Адэ лъапсэжь сочинение

Темэр:  Зауэм зеиншэ ищIа сабийхэм ятелъа бэлыхьыр Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуар.

Мурадхэр: Зауэм къихь бэлыхьымрэ хьэзабымрэ Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыхэщыжым еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.

Зауэм гущыкI хуегъэщIын, мамырыгъэм пщIэ хуащIыфу, ар яхъумэным хущIэкъуу егъэсэн.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр: компьютернэ презентацэ, тхакIуэм и сурэт, зауэм теухуа тхылъхэм я выставкэ.

Урокым и екIуэкIыкIэнур.

  1. ЕджакIуэхэр урокым хуэгъэхьэзырын.

Егъ.  Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын щIэддзэн ипэ къихуэу  ролик фэзгъэлъагъунущи феплъыт.  (Зауэм теухуа  ролик кIэщI йоплъхэр).

ЦIыкIухэ, мы иджыпсту дызэплъар  къыщыхъуар сыт хуэдэ зэман?

(Мозговой штурм)

Едж. Хэку зауэшхуэм и зэманырщ.

Егъ. Пэж дыдэщ, хэку зауэшхуэм и зэманырщ. НтIэ мыпхуэдэ зыупщIэ фхузиIэщ. Пэжщ, фэ иджыри тхыдэм фIыуэ фыщыгъуазэкъым, ауэ псоми фщIэуэ къысщохъу.  Сыт хуэдэ гъэ Хэку зауэшхуэм щыщIидзар?

Едж. Июным и 22-м I94I гъэм, махуэр тхьэмахуэ махуэу щIидзащ зауэм.

Егъ. Сыт хуэдэ гъэм увыIа — тIэ зауэр?

Едж. Майм и 9-м I945 гъэм увыIащ

Егъ. НтIэ,  сыщымыуэмэ, есэпымкIи фыхуэмыху хуэдэкъым, къэвбжыт, илъэс дапщэ хъууэ пIэрэ зауэр зэрыувыIэрэ?

Едж. Зауэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ  мы гъэм илъэс блыщI мэхъу.

Егъ. Пэжщ. Упсэу. НетIэ дызэплъа фильмым сыт хуэдэ гупсысэм фыхуишэрэ?

Едж. Зауэр сыт щыгъуи зэрынасыпыншагъэм, бэлыхьрэ хьэзабу абы къишэр зыхуэдэм, абы и кIэри и пэри хьэдагъэу зэрыщытым. (квантование)

Егъ. ГурыIуэгъуэщ зауэм и пэр щIэхьэдагъэр, ауэ фэ дауэ къыфщыхъурэ, зауэм и кIэри щхьэ хьэдагъэ?

Едж. Зауэм щыщIидзэм деж псори зауэм макIуэхэр, Iэщэ яIыгъыу, хэкIуэдэнум и бжыгъэр къыпхуэщIэнукъым. Аращ зауэм и пэр щIэхьэдагъэр. Зауэр иуха нэужь псэууэ къэнахэр къокIуэж, ар гуфIэгъуэшхуэщ, ауэ зэи къэмыкIуэжынухэм я Iыхьлыхэм дежкIэ етIуанэ хьэдагъэщ.

Егъ. Псоми жэуап пэж дыдэщ къызэфтар. Сыт – тIэ зауэм нобэ дыщIытепсэлъыхьыр?

Едж. Нобэ дэ зэпкърытхыну Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказыр зытеухуар зауэ зэманырщ, сэ арауэ къысщохъу абы нэхъ дыщIытепсэлъыхьыр.

Егъ. Упсэу. Пэж дыдэщ. НэгъуэщI сыт хуэдэ рассказ вджауэ фщIэжрэ зауэм теухуауэ?

Едж. Дэ деджащ Къашыргъэ ХьэпащIэ и «Зы жэщ», Гъэунэ Борис  и «Уэ къэкIуэж закъуэ, папэ»,  БакIуу Марие и «ЩIакхъуэ» рассказхэр.

Егъ. Нобэ зэпкърытхыну рассказыр кIэщIу къэтпщытэжынщ.

Едж. КIэщIу топсэлъыхьыж рассказым.

Егъ. ЦIыкIухэ, мы рассказым фыщеджэм щыгъуэ къывгурымыIуа псалъэ къыхэкIауэ пIэрэт?

Едж. Сэ срихьэлIащ псалъиплI. Ахэр гуэншэрыкъ, цей, хуэзэж техауэ, фэIуадзэ псалъэхэрщ. Мамэ сеупщIати зищIысыр имыщIэу жиIащ.

Едж. Сэ ди нанэ сеупщIати гуэншэрыкъри, цейри, фэIуадзэри   зищIысыр къызжиIащ, ауэ хуэзэж техауэ жихуиIэм къикIыр ищIэртэкъым.

Словарнэ лэжьыгъэ.

Егъ. ЦIыкIухэ,  мы псалъэхэм е хьэпшыпхэм  фрихьэлIэрэ?

Едж. Хьэуэ, дрихьэлIэркъым.

Егъ. Сытым къыхэкIауэ къыфщыхъурэ ар?

Едж. Ахэр къагъэсэбэпыжыркъыми зэреджэхэр тщIэжыркъым. Ахэр жьы хъуахэщ.

Егъ. Пэжщ. Ахэр жьы хъуащ, абыхэм я пIэкIэ нэгъуэщI хьэпшыпхэр къежьащ. А къэдмыгъэсэбэпыжхэм я гъусэу я цIэхэри кIуэдыжащ. АтIэ сыт хуэдэ хьэпшыпхэр къежьауэ пIэрэ мы кIуэдыжа хьэпшыпхэм я пIэкIэ?

Едж. Цейм и пIэкIэ цыджанэ, кIэстум хуэдэхэр къежьащ, гуэншэрыкъым и пIэкIэ — вакъэ зэмылIэужьыгъуэхэр,  ахэр IэкIэ ящIыжыркъыми хуэзэж трахыжыркъым, фэри фэIуадзэкIэ ягъэщэбэжыркъым, абы и пIэкIэ заводышхуэхэр ящIащ.

Егъ. АдэкIэ докIуэ. Мы слайдым ит псалъэхэр тэмэму зэкIэлъыфхьи псалъэуха къахэфщIыкIыт.

Уи, умыбгынэ, гъуэгужьрэ, уи, адэ, адэ, и, благъэжьрэ, и.  

Iэпэгъум, зи, гъунэгъу зи, и, насыпщ. Пэт, и, ибгынэркъым, хьэрэ, къуажэ.

Гуауэр, пщегъэгъупщэ, дахэм, псалъэ.

Егъ. Мы псалъэуха къыхэфщIыкIахэр  сыт зищIысыр?

Едж.  Ахэр псалъэжьхэщ.

Егъ. Тэмэм дыдэщ. Сыт псалъэжьхэм къыдагъащIэр?

Едж. Ахэм дагъасэ, даущий, цIыху хэтыкIэ, дуней тетыкIэ тщIэуэ дыкъэхъунымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу.

Егъ.  РассказымкIэ дгъэзэжынщ. Хьэжсуф цIыкIу анэшым яшэжыныр къызыхэкIар сыт?

Едж. И адэр зауэм хэкIуэдауэ хъыбар къаIэрыхьа нэужь, и анэм, нэхъ зыхуей щыхуэзэнщ, жиIэри и дыщым ишэжащ.

Егъ. Дауэ къыщыхъуа Хьэжсуф цIыкIу и анэшым зэрашэжыр, фIэфIу кIуэжа, хьэмэрэ хуэмейуэ ялъэфа?

Едж. Япэ щIыкIэ, щIашэр къыщыгурымыIуэм, гуфIэжу жэри шыгум итIысхьэри кIуащ, ауэ псори къыгурыIуа иужькIэ къэкIуэсэжурэ гугъу иригъэхьащ.

Егъ.  Хьэблэм дауэ къащыхъуа Маржынэт ищIар?

Едж. Маржынэт и дыщым зэрыкIуэжар хьэблэм дэсхэм ягу къеуащ. Псом хуэмыдэу я жагъуэ хъуащ, си дыщым нэхъ зыхуей щыхуэзэнщ жызоIэ си щIалэ цIыкIур, зэрыжиIар?

Егъ.  Рассказым ар къыздыхэщ щIыпIэр къэдвгъэгъуэти дыкъевгъаджэт.

Едж. Хьэблэр кIэлъыпыхьэу….Маржынэт и иужьрей псалъэхэр псоми ягу ежэлIат.

Егъ. ЦIыкIухэ, нетIэ къыхэфщIыкIа псалъэжьхэм мыпхуэдэ яхэтщ «Хьэрэ пэт и къуажэ ибгынэркъым».  А  псалъэжьыр зыхуэпхь хъуну щIыпIэр  къэвгъуэти фыкъеджэт.

Едж. Пэжу, хьэр гъунэгъу лIыжьым ишат….абзацыр.

(Тхылъымк1э гъэлэжьэн)

Егъ. Хьэжсуф зэи тIэуи къэкIуэсэжащ. Щыдашыжым  дауэ дэкIыжа ар?

Едж. Ар анэшым кIуэжыну хуейтэкъым. Дашыжыху къэс гъуэгыу и анэм илъэфыжырт ар.

Теплъэгъуэ цIыкIу еджакIухэм  ягъэлъагъуэ.

Егъ. Мы иджыпсту къэвгъэлъэгъуа теплъэгъуэм сыт къигъэлъагъуэрэ?

Едж.  Мы теплъэгъуэм къегъэлъагъуэ уи адэжь и лъапсэ,  укъызыхэк1а лъэпкъ, уи къуажэжь  нэхърэ нэхъыфI зыри зэрыщымыIэр.

Егъ. Апхуэдэ щытыкIэм Хьэжсуф цIыкIу изыгъэувар сыт?

Едж. Сэ къысщохъу мы щытыкIэм Хьэжсуф изыгъэувар и анэрауэ. Абы хуэмейуэ щIалэ цIыкIур залымыгъэкIэ и дыщым ишащ.

Едж. Сэ абы жиIамкIэ сыарэзыкъым. А псори  зи лажьэр зауэрщ. Ар мыхъуамэ ахэр унагъуэ насыпыфIэу зэдэпсэунут.  (дебатхэр)

Егъ. Пэжщ. Мы рассказым фыкъыщеджэм гу лъывмытауэ пIэрэ иджы щIагъуэу мыхьэнэ зрамытыж адыгэ хабзэ къыхэщу. Сыт хуэдэ хабзэт ар?

Едж. Ар зи быдзышэ зэIурылъ цIыхухэр зы анэм къилъхуам хуэдэу фIыуэ зэрылъагъуу, абы пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытырт.

Егъ. А хабзэр лIыжьым игу къэзыгъэкIыжар сыт?

Едж. ЛIыжьым зэи и тхьэкIумэм икIыртэкъым щIалэ цIыкIу и гъы макъыр. Уэ сомыгъашэ мыгъуэ, дадэ. Уэ сыкIуэну мыгъуэкъым, дадэ. Мы псалъэхэм лIыжьыр жэщкIэ ягъэжейртэкъым.  КIуэуэ къишэжынути благъагъэкIэ къыгухьэртэкъым. ИтIанэ абы игу къэкIыжащ щIалэ цIыкIум и адэшхуэмрэ езымрэ я быдзышэ зэрызэIулъыр.

Егъ. АтIэ дауэ къыфщыхъурэ,  ди нобэрей хабзэм къезэгъыжрэ ар? Сыт абы ди нобэрей  зэманым  апхуэдэ мыхьэнэ а хабзэм  щIрамытыжыр?

Едж. А хабзэр ди нобэрей зэманым къезэгъыжыркъым.  Сэ къызэрысщыхъумкIэ,  пщIэ тэмэм а хабзэм щIрамытыжыр мыращ: япэм цIыхухэр нэхъыфIу зэрылъагъурт, зи быдзышэ зэIурылъхэр зы анэм къилъхуам хуэдэу ялъытэрт, абы мыхьэнэшхуэ иратырт.  Иджы цIыхухэри япэм хуэдэу зэкIэлъыкIуэжыркъым, дунейм ущыпсэуну нэхъ гугъу хъуащ , мылъку зэхуэхьэсынми цIыхухэр  нэхъ дихьэхащ.

Егъ. Псалъэжьхэм дащытепсэлъыхьым нетIэ «Зи гъунэгъу зи Iэпэгъум и насыпщ» жытIащ. Сыт абы къикIыр?

Едж. Зи гъунэгъу фIыуэ зыхущытым и насыпщ, гъунэгъуфI уиIэм хуэдэ щыIэкъым жиIэу аращ. Абы и щапхъэщ Хьэжсуф цIыкIу и гъунэгъухэр.

Егъ. Иджы гупитIу зыдвгъэгуэшыт. Япэ гупым Хьэжсуф цIыкIу анэшым ямышэжауэ къызыщывгъэхъуи адэкIэ къэхъунур фэ фызэрыхуейуэ къэвгупсыс. Адрей гупым щIалэ цIыкIур  адэ лъапсэжьым къигъэзэжа нэужь, зэрыхъуауэ къыфщыхъур къэвгупсыс  кIэщIу  (гуп лэжьыгъэ)

Едж. Ятхам къоджэж.

Егъ.  Иджыри зэ рассказым  зыхуэдгъэзэжынщ. Мы рассказыр Журт Биберд щитхым къэпсэлъыкIэ къызэрыгуэкI мыхъуу худ. изобразительнэ Iэмалхэр къигъэсэбэпащ. Сыт хуэдэхэм фыщрихьэлIауэ пIэрэ мыбы?

Едж. Мы рассказым хэтщ зэгъэпщэныгъэхэр (мэл хьэпIатIэу зыкIэриукIауэ, нэ сабафэхэр),  фразеологизмхэр (нэр тедияуэ, игу къутауэ, н)

Егъ. Упсэу, ф1ы дыдэу къэбгъуэтащ. Рассказыр зэпкърытхын щыщIэддзэми абы и ужькIи жытIащ псомкIи къуаншэр зауэрауэ. Зауэм куэд насыпыншэ, зеиншэ ищIащ. Сэри сыарэзыщ абыкIэ.  Сыт-тIэ мы дунейм щынэхъ  лъапIэр?

Едж. Сэ сызэригугъэмкIэ мы дунейм щынэхъ лъапIэщ мамырыгъэр.

Мамырыгъэр щыIэмэ,  цIыхухэр хуиту псэунущ, лэжьэнущ, еджэнущ. Сыт щыIэ – тIэ абы нэхърэ нэхъыфI?

Егъ. Мамырыгъэ псалъэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи синквейн дывгъэщIыт.

Едж.      Мамырыгъэ

  1. Уардэ, бжьыфIэ
  2. Дыкъехъумэ, дегъэгушхуэ, дегъафIэ.
  3. Мамырыгъэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым.
  4. Хуитыныгъэ.  

Едж.         Мир    

                 Гармоничный ,прекрасный 

                 Не стоит, Движется ,Растет

                 Нет лучше мира на земле

                 Добро.

Егъ. ЦIыкIухэ, мы дунейм  мамырыгъэр фIыуэ зылъагъу псоми зэдащIэу    абы дамыгъэ иIэщ. Сыт хуэдэ псэущхьэу пIэрэ ар?

Едж. Ар тхьэрыкъуэщ. Сэ куэдрэ зэхызох «Голубь мира», «Мамырыгъэм и тхьэрыкъуэ» жаIэу

Физминутка. Егъ.  НтIэ, тIэкIу фешауэ къыщIэкIынщи зывгъэпсэху хуэдэурэ тхылъымпIэ напэм къыхэдвгъэщIыкIыт тхьэрыкъуэ цIыкIу.

(ЕджакIуэхэм тхьэрыкъуэ цIыкIу ящIхэри егъэджакIуэм дежкIэ ягъэлъатэ).

Егъ. ИIэт, цIыкIухэ, зэдвгъэгъапщэт мы доскам щыфлъагъу сурэтитIыр.  (Зым итщ мамырыгъэм и дамыгъэ тхьэрыкъуэ цIыкIум къилъэтыхьу, адрейм итщ зауэ щекIуэкI щIыпIэ, сэлэтхэм Iэщэ яIыгъщ). Дэтхэнэр нэхъ хъуэпсэгъуэ?

Едж. ДауикI, тхьэрыкъуэ цIыкIу зэрытырщ. А сурэтым деж уафэр къащхъуэщ, дунейр дахэщ, тхьэрыкъуэ цIыкIум мамыру къелъэтыхь. Адрейм деж зауэлIхэр  Iэщэхэр яIыгъыу зауэм Iутщ.ЗауэлIхэр ешахэщ,  я нэгухэр зэхэуфащ. Дунейри абыхэм ещхьу уфащ. Хэт зауэ хуейр? (Зэгъэпщэныгъэ)

Егъ.  Пэж дыдэщ. Мамырыгъэр дыщи1эм деж  тхьэрыкъуэ ц1ык1ум мамыру къилъэтыхьым и закъуэкъым, ат1э слайдым зэритым хуэдэу ди дыгъэ ц1ык1ури уафэм къытхуогуф1эх.  Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, зауэр  иухами, ди щIыналъэм зауэ щемыкIуэкIми, иджыри апхуэдэ щIыпIэхэр щыIэщ.

(Украинэм щекIуэкI зауэр къэзыгъэлъагъуэ ролик кIэщI йоплъ).

Дэнэ щIыпIэу пIэрэ мыр щекIуэкIыр?

Едж. Ар Украинэрщ. Абы иджыпсту щокIуэкI зауэр. Сыт хуэдиз насыпыншагъэ цIыхум къахуихьрэ абы, дапхуэдиз зеиншэ ищIа, зыщIэсын ямыIэжу дапщэ уэрамым къыдина абы.

Егъ. Иджыпсту дунейр ещанэ дунейпсо зауэм и бжэщхьэIум   тетщ жытIэми дыщыуэнукъым. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ  сыт тщIэн хуейр?

Едж. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ дэ тхузэфIэкI псомкIи дыхущIэкъун хуейщ мамырыгъэр хъумэным.

Егъ. Хэку зауэшхуэм и мафIэр зэи мыужьых мафIэу ди цIыхубэм  къахэнащ. Абы теухуауэ зы усэ дыкъеджэнщ.

Едж. МафIэ мыужьых.  Тхьэгъэзит Зубер

Рефлексие.

Егъ. ЦIыкIухэ, дэ нобэ фIы дыдэу зэпкърытхащ «Адэ лъапсэжь» рассказыр

Сыт нэхъ фигу ирихьауэ мы рассказым хэлъыр.

Едж. Сэ сигу ирихьащ Хьэжсуф цIыкIу и адэ лъапсэр, зыхэса хьэблэр, лъэпкъыр игу пымыкIыу къызэригъэзэжар.

Егъ.  Дауэ къыпщыхъурэ, уэ пхузэфIэкIынут Хьэжсуф цIыкIу хузэфIэкIар? Мы рассказым къызэрыхэщымкIэ, ар уи ныбжьщ.

Едж. А зэманым сыпсэуамэ, сщIэртэкъым схузэфIэкIынуми, ауэ иджы зэманым схузэфIэкIынутэкъым.

Егъ. ФымыщIэ гуэр щIэуэ къэфщIауэ пIэрэ?

Едж. Сэ къэсщIащ сыт хуэдэ тхъэгъуэ нэгъуэщI щIыпIэ къыщыппэмыплъэми,  уи адэ лъапсэжь, уи къуажэжь, уи лъэпкъ нэхърэ нэхъыфI зэрыщымыIэр.

Едж. Сэ языныкъуэ  псалъэжьхэм я мыхьэнэр къэсщIащ.

Едж. Сэ жьы хъууэ  кIуэдыжа псалъэхэри ахэр жьы хъууэ бзэм щIыхэкIуэдыкIри къэсщIащ.

Егъ. Иджыри сыт къэфщIамэ арэзы фыхъунут?

Едж. Зауэм, мамырыгъэм  теухуа тхыгъэхэм нэхъыбэу сежджэну сыхуейт.

Егъ. (сабий къэс я пащхьэ смайлик ц1ык1у щырыщ илъщ) Иджы псори фи пащхьэм илъ смайлик ц1ык1ухэм феплъыт. Ахэр зыри зэщхькъым, зыр мэгуф1э, зыр хогупсысыхь, зыр нэщхъыцэщ. Сэ нобэ урокыр къызгуры1уащ жызы1эм  смайлик гуф1эр къе1эт, псори къызгуры1уакъым жызы1эр хэгупсысыхьауэ щытыр къе1эт. Зыри къызыгурымы1уам нэщхъыцэр къе1эт.

Едж. Смайликхэр къа1эт

Егъ. Псори фIы дыдэщ. Пэжщ, цIыкIухэ, нетIэ жыфIар. Зауэ къэмыхъун щхьэкIэ балигъри сабийри тхузэфIэкI псомкIи дапэщIэтын хуейщ зауэщIэкъухэм. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэхэр куэдщ. Апхуэдэхэрщ зи зэранри Украинэм щекIуэкI зауэр. Дэ иджыкIэ дыкъахъумэ ди къэрал унафэщIхэм, дяпэкIи дащыгугъынщ, зауэм дыщахъумэну. Ди урокым и кIэухыу Гъубжокъуэ Лиуан и усэ псалъэкIэ зыфхуэзгъэзэну сыхуейт.

ЩIэблэр топ уэ макъым зыкIи хуейкъым,

Къыхэмыщту ахэр ирежей.

ЩIыми, псыми, уэгуми фыщызекIуэ,

Зауэ гъуэгур къыхэвмых къудей.

Оценкэр гъэувын.

Унэ лэжьыгъэр етын.

Езыхэр зыхуей кIэухыр рассказым иратын.

  • Главная
  • Разное
  • Образование
  • Спорт
  • Естествознание
  • Природоведение
  • Религиоведение
  • Французский язык
  • Черчение
  • Английский язык
  • Астрономия
  • Алгебра
  • Биология
  • География
  • Геометрия
  • Детские презентации
  • Информатика
  • История
  • Литература
  • Математика
  • Музыка
  • МХК
  • Немецкий язык
  • ОБЖ
  • Обществознание
  • Окружающий мир
  • Педагогика
  • Русский язык
  • Технология
  • Физика
  • Философия
  • Химия
  • Шаблоны, фоны, картинки для презентаций
  • Экология
  • Экономика

Содержание

  • 1.

    Презентация по кабардинской литературе Адэ лъапсэжь рассказым теухуауэ (5 класс)

  • 2.

    Зауэм къихь бэлыхьымрэ хьэзабымрэ Журт Биберд и

  • 3.

    Слайд 3

  • 4.

    Зауэм теухуа фильм

  • 5.

    Словарнэ лэжьыгъэЦей –цIыхухъу щыгъын щIыIутелъ щыгъын

  • 6.

    ФэIуадзэСловарнэ лэжьыгъэ

  • 7.

    гуэншэрыкъСловарнэ лэжьыгъэ

  • 8.

    Хуэзэж техауэСловарнэ лэжьыгъэ

  • 9.

    Уи, умыбгынэ, гъуэгужьрэ, уи, адэ, адэ, и,

  • 10.

    Мир Гармоничный ,прекрасный Не стоит, Движется

  • 11.

    Мамырыгъэм и дамыгъэр

  • 12.

    Слайд 12

  • 13.

    Украинэм теухуа фильм

  • 14.

    Рефлексие

  • 15.

    Берычэт бесын

Зауэм къихь бэлыхьымрэ хьэзабымрэ Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыхэщыжым еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.Зауэм гущыкI хуегъэщIын, мамырыгъэм пщIэ хуащIыфу, ар яхъумэным хущIэкъуу егъэсэн.Мурадхэр

Слайд 1Темэр
Зауэм зеиншэ ищ1а сабийхэм ятелъа бэлыхьыр «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуар.

ТемэрЗауэм зеиншэ ищ1а сабийхэм ятелъа бэлыхьыр «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуар.


Слайд 2Зауэм къихь бэлыхьымрэ хьэзабымрэ Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыхэщыжым

еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.
Зауэм гущыкI хуегъэщIын, мамырыгъэм пщIэ хуащIыфу, ар яхъумэным хущIэкъуу егъэсэн.

Мурадхэр

Зауэм къихь бэлыхьымрэ хьэзабымрэ Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыхэщыжым еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.Зауэм гущыкI хуегъэщIын, мамырыгъэм


Слайд 5Словарнэ лэжьыгъэ
Цей –цIыхухъу щыгъын щIыIутелъ щыгъын

Словарнэ лэжьыгъэЦей –цIыхухъу щыгъын щIыIутелъ щыгъын


Слайд 8Хуэзэж техауэ

Словарнэ лэжьыгъэ

Хуэзэж техауэСловарнэ лэжьыгъэ


Слайд 9Уи, умыбгынэ, гъуэгужьрэ, уи, адэ, адэ, и, благъэжьрэ, и.

Iэпэгъум, зи,

гъунэгъу зи, и, насыпщ.

Пэт, и, ибгынэркъым, хьэрэ, къуажэ.

Гуауэр, пщегъэгъупщэ, дахэм, псалъэ.

Псалъэхэм псалъэуха къыхэщIыкIын

Уи, умыбгынэ, гъуэгужьрэ, уи, адэ, адэ, и, благъэжьрэ, и. Iэпэгъум, зи, гъунэгъу зи, и, насыпщ. Пэт, и,


Слайд 10Мир
Гармоничный ,прекрасный 
Не стоит, Движется ,Растет
Нет лучше мира на

земле
Добро .

Синквейн

Мамырыгъэ
Уардэ, бжьыф1э
Дыкъехъумэ, дегъэгушхуэ, дегъаф1э.
Мамырыгъэм нэхъ лъап1э щы1экъым.
Хуитыныгъэ.

Мир   Гармоничный ,прекрасный Не стоит, Движется ,РастетНет лучше мира на землеДобро .Синквейн МамырыгъэУардэ, бжьыф1эДыкъехъумэ, дегъэгушхуэ, дегъаф1э.Мамырыгъэм нэхъ


Темэр: Зауэм зеиншэ ищIа сабийхэм ятелъа бэлыхьыр Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыщыгъэлъэгъуар.

Мурадхэр: Зауэм къихь бэлыхьымрэ хьэзабымрэ Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказым къызэрыхэщыжым еджакIуэхэр щыгъуазэ щIын.

Зауэм гущыкI хуегъэщIын, мамырыгъэм пщIэ хуащIыфу, ар яхъумэным хущIэкъуу егъэсэн.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр: компьютернэ презентацэ, тхакIуэм и сурэт, зауэм теухуа тхылъхэм я выставкэ.

Урокым и екIуэкIыкIэнур.

  1. ЕджакIуэхэр урокым хуэгъэхьэзырын.

Егъ. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын щIэддзэн ипэ къихуэу ролик фэзгъэлъагъунущи феплъыт. (Зауэм теухуа ролик кIэщI йоплъхэр).

ЦIыкIухэ, мы иджыпсту дызэплъар къыщыхъуар сыт хуэдэ зэман?

(Мозговой штурм)

Едж. Хэку зауэшхуэм и зэманырщ.

Егъ. Пэж дыдэщ, хэку зауэшхуэм и зэманырщ. НтIэ мыпхуэдэ зыупщIэ фхузиIэщ. Пэжщ, фэ иджыри тхыдэм фIыуэ фыщыгъуазэкъым, ауэ псоми фщIэуэ къысщохъу. Сыт хуэдэ гъэ Хэку зауэшхуэм щыщIидзар?

Едж. Июным и 22-м I94I гъэм, махуэр тхьэмахуэ махуэу щIидзащ зауэм.

Егъ. Сыт хуэдэ гъэм увыIа — тIэ зауэр?

Едж. Майм и 9-м I945 гъэм увыIащ

Егъ. НтIэ, сыщымыуэмэ, есэпымкIи фыхуэмыху хуэдэкъым, къэвбжыт, илъэс дапщэ хъууэ пIэрэ зауэр зэрыувыIэрэ?

Едж. Зауэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс блыщI мэхъу.

Егъ. Пэжщ. Упсэу. НетIэ дызэплъа фильмым сыт хуэдэ гупсысэм фыхуишэрэ?

Едж. Зауэр сыт щыгъуи зэрынасыпыншагъэм, бэлыхьрэ хьэзабу абы къишэр зыхуэдэм, абы и кIэри и пэри хьэдагъэу зэрыщытым.

Егъ. ГурыIуэгъуэщ зауэм и пэр щIэхьэдагъэр, ауэ фэ дауэ къыфщыхъурэ, зауэм и кIэри щхьэ хьэдагъэ?

Едж. Зауэм щыщIидзэм деж псори зауэм макIуэхэр, Iэщэ яIыгъыу, хэкIуэдэнум и бжыгъэр къыпхуэщIэнукъым. Аращ зауэм и пэр щIэхьэдагъэр. Зауэр иуха нэужь псэууэ къэнахэр къокIуэж, ар гуфIэгъуэшхуэщ, ауэ зэи къэмыкIуэжынухэм я Iыхьлыхэм дежкIэ етIуанэ хьэдагъэщ.

Егъ. Псоми жэуап пэж дыдэщ къызэфтар. Сыт – тIэ зауэм нобэ дыщIытепсэлъыхьыр?

Едж. Нобэ дэ зэпкърытхыну Журт Биберд и «Адэ лъапсэжь» рассказыр зытеухуар зауэ зэманырщ, сэ арауэ къысщохъу абы нэхъ дыщIытепсэлъыхьыр.

Егъ. Упсэу. Пэж дыдэщ. НэгъуэщI сыт хуэдэ рассказ вджауэ фщIэжрэ зауэм теухуауэ?

Едж. Дэ деджащ Къашыргъэ ХьэпащIэ и «Зы жэщ», Гъэунэ Борис и «Уэ къэкIуэж закъуэ, папэ», БакIуу Марие и «ЩIакхъуэ» рассказхэр.

Егъ. Нобэ зэпкърытхыну рассказыр кIэщIу къэтпщытэжынщ.

Едж. КIэщIу топсэлъыхьыж рассказым.

Егъ. ЦIыкIухэ, мы рассказым фыщеджэм щыгъуэ къывгурымыIуа псалъэ къыхэкIауэ пIэрэт?

Едж. Сэ срихьэлIащ псалъиплI. Ахэр гуэншэрыкъ, цей, хуэзэж техауэ, фэIуадзэ псалъэхэрщ. Мамэ сеупщIати зищIысыр имыщIэу жиIащ.

Едж. Сэ ди нанэ сеупщIати гуэншэрыкъри, цейри, фэIуадзэри зищIысыр къызжиIащ, ауэ хуэзэж техауэ жихуиIэм къикIыр ищIэртэкъым.

Словарнэ лэжьыгъэ.

Егъ. ЦIыкIухэ, мы псалъэхэм е хьэпшыпхэм фрихьэлIэрэ?

Едж. Хьэуэ, дрихьэлIэркъым.

Егъ. Сытым къыхэкIауэ къыфщыхъурэ ар?

Едж. Ахэр къагъэсэбэпыжыркъыми зэреджэхэр тщIэжыркъым. Ахэр жьы хъуахэщ.

Егъ. Пэжщ. Ахэр жьы хъуащ, абыхэм я пIэкIэ нэгъуэщI хьэпшыпхэр къежьащ. А къэдмыгъэсэбэпыжхэм я гъусэу я цIэхэри кIуэдыжащ. АтIэ сыт хуэдэ хьэпшыпхэр къежьауэ пIэрэ мы кIуэдыжа хьэпшыпхэм я пIэкIэ?

Едж. Цейм и пIэкIэ цыджанэ, кIэстум хуэдэхэр къежьащ, гуэншэрыкъым и пIэкIэ — вакъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, ахэр IэкIэ ящIыжыркъыми хуэзэж трахыжыркъым, фэри фэIуадзэкIэ ягъэщэбэжыркъым, абы и пIэкIэ заводышхуэхэр ящIащ.

Егъ. АдэкIэ докIуэ. Мы слайдым ит псалъэхэр тэмэму зэкIэлъыфхьи псалъэуха къахэфщIыкIыт.

Уи, умыбгынэ, гъуэгужьрэ, уи, адэ, адэ, и, благъэжьрэ, и.

Iэпэгъум, зи, гъунэгъу зи, и, насыпщ. Пэт, и, ибгынэркъым, хьэрэ, къуажэ.

Гуауэр, пщегъэгъупщэ, дахэм, псалъэ.

Егъ. Мы псалъэуха къыхэфIщIыкIахэр сыт зищIысыр?

Едж. Ахэр псалъэжьхэщ.

Егъ. Тэмэм дыдэщ. Сыт псалъэжьхэм къыдагъащIэр?

Едж. Ахэм дагъасэ, даущий, цIыху хэтыкIэ, дуней тетыкIэ тщIэуэ дыкъэхъунымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу.

Егъ. РассказымкIэ дгъэзэжынщ. Хьэжсуф цIыкIу анэшым яшэжыныр къызыхэкIар сыт?

Едж. И адэр зауэм хэкIуэдауэ хъыбар къаIэрыхьа нэужь, и анэм, нэхъ зыхуей щыхуэзэнщ, жиIэри и дыщым ишэжащ.

Егъ. Дауэ къыщыхъуа Хьэжсуф цIыкIу и анэшым зэрашэжыр, фIэфIу кIуэжа, хьэмэрэ хуэмейуэ ялъэфа?

Едж. Япэ щIыкIэ, щIашэр къыщыгурымыIуэм, гуфIэжу жэри шыгум итIысхьэри кIуащ, ауэ псори къыгурыIуа иужькIэ къэкIуэсэжурэ гугъу иригъэхьащ.

Егъ. Хьэблэм дауэ къащыхъуа Маржынэт ищIар?

Едж. Маржынэт и дыщым зэрыкIуэжар хьэблэм дэсхэм ягу къеуащ. Псом хуэмыдэу я жагъуэ хъуащ, си дыщым нэхъ зыхуей щыхуэзэнщ жызоIэ си щIалэ цIыкIур, зэрыжиIар?

Егъ. Рассказым ар къыздыхэщ щIыпIэр къэдвгъэгъуэти дыкъевгъаджэт.

Едж. Хьэблэр кIэлъыпыхьэу….Маржынэт и иужьрей псалъэхэр псоми ягу ежэлIат.

Егъ. ЦIыкIухэ, нетIэ къыхэфщIыкIа псалъэжьхэм мыпхуэдэ яхэтщ «Хьэрэ пэт и къуажэ ибгынэркъым». А псалъэжьыр зыхуэпхь хъуну щIыпIэр къэвгъуэти фыкъеджэт.

Едж. Пэжу, хьэр гъунэгъу лIыжьым ишат….абзацыр.

(Тхылъымк1э гъэлэжьэн)

Егъ. Хьэжсуф зэи тIэуи къэкIуэсэжащ. Щыдашыжым дауэ дэкIыжа ар?

Едж. Ар анэшым кIуэжыну хуейтэкъым. Дашыжыху къэс гъуэгыу и анэм илъэфыжырт ар.

Теплъэгъуэ цIыкIу еджакIухэм ягъэлъагъуэ.

Егъ. Мы иджыпсту къэвгъэлъэгъуа теплъэгъуэм сыт къигъэлъагъуэрэ?

Едж. Мы теплъэгъуэм къегъэлъагъуэ уи адэжь и лъапсэ, укъызыхэк1а лъэпкъ, уи къуажэжь нэхърэ нэхъыфI зыри зэрыщымыIэр.

Егъ. Апхуэдэ щытыкIэм Хьэжсуф цIыкIу изыгъэувар сыт?

Едж. Сэ къысщохъу мы щытыкIэм Хьэжсуф изыгъэувар и анэрауэ. Абы хуэмейуэ щIалэ цIыкIур залымыгъэкIэ и дыщым ишащ.

Едж. Сэ абы жиIамкIэ сыарэзыкъым. А псори зи лажьэр зауэрщ. Ар мыхъуамэ ахэр унагъуэ насыпыфIэу зэдэпсэунут. (дебатхэр)

Егъ. Пэжщ.. Мы рассказым фыкъыщеджэм гу лъывмытауэ пIэрэ иджы щIагъуэу мыхьэнэ зрамытыж адыгэ хабзэ къыхэщу. Сыт хуэдэ хабзэт ар?

Едж. Ар зи быдзышэ зэIурылъ цIыхухэр зы анэм къилъхуам хуэдэу фIыуэ зэрылъагъуу, абы пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытырт.

Егъ. А хабзэр лIыжьым игу къэзыгъэкIыжар сыт?

Едж. ЛIыжьым зэи и тхьэкIумэм икIыртэкъым щIалэ цIыкIу и гъы макъыр. Уэ сомыгъашэ мыгъуэ, дадэ. Уэ сыкIуэну мыгъуэкъым, дадэ. Мы псалъэхэм лIыжьыр жэщIкIэ ягъэжейртэкъым. КIуэуэ къишэжынути благъагъэкIэ къыгухьэртэкъым. ИтIанэ абы игу къэкIыжащ щIалэ цIыкIум и адэшхуэмрэ езымрэ я быдзышэ зэрызэIулъым.

Егъ. АтIэ дауэ къыфщыхъурэ, ди нобэрей хабзэм къезэгъыжрэ ар? Сыт абы ди нобэрей зэманым апхуэдэ мыхьэнэ а хабзэм щIрамытыжыр?

Едж. А хабзэр ди нобэрей зэманым къезэгъыжыркъым. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, пщIэ тэмэм а хабзэм щIрамытыжыр мыращ: япэм цIыхухэр нэхъыфIу зэрылъагъурт, зи быдзышэ зэIурылъхэр зы анэм къилъхуам хуэдэу ялъытэрт, абы мыхьэнэшхуэ иратырт. Иджы цIыхухэри япэм хуэдэу зэкIэлъыкIуэжыркъым, дунейм ущыпсэуну нэхъ гугъу хъуащ , мылъку зэхуэхьэсынми цIыхухэр нэхъ дихьэхащ.

Егъ. Псалъэжьхэм дащытепсэлъыхьым нетIэ «Зи гъунэгъу зи Iэпэгъум и насыпщ» жытIащ. Сыт абы къикIыр?

Едж. Зи гъунэгъу фIыуэ зыхущытым и насыпщ, гъунэгъуфI уиIэм хуэдэ щыIэкъым жиIэу аращ. Абы и щапхъэщ Хьэжсуф цIыкIу и гъунэгъухэр.

Егъ. Иджы гупитIу зыдвэгъэгуэшыт. Япэ гупым Хьэжсуф цIыкIу анэшым ямышэжауэ къызыщывгъэхъуи адэкIэ къэхъунур фэ фызэрыхуейуэ къэвгупсыс. Адрей гупым щIалэ цIыкIур адэ лъапсэжьым къигъэзэжа нэужь, зэрыхъуауэ къыфщыхъур къэвгупсыс кIэщIу (гуп лэжьыгъэ)

Едж. Ятхам къоджэж.

Егъ. Иджыри зэ рассказым зыхуэдгъэзэжынщ. Мы рассказыр Журт Биберд щитхым къэпсэлъыкIэ къызэрыгуэкI мыхъуу худ. изобразительнэ Iэмалхэр къигъэсэбэпащ. Сыт хуэдэхэм фыщрихьэлIауэ пIэрэ мыбы?

Едж. Мы рассказым хэтщ зэгъэпщэныгъэхэр (мэл хьэпIатIэу зыкIэриукIауэ, нэ сабафэхэр), фразеологизмхэр (нэр тедияуэ, игу къутауэ, н)

Егъ. Упсэу, ф1ы дыдэу къэбгъуэтащ. Рассказыр зэпкърытхын щыщIэддзэми абы и ужькIи жытIащ псомкIи къуаншэр зауэрауэ. Зауэм куэд насыпыншэ, зеиншэ ищIащ. Сэри сыарэзыщ абыкIэ. Сыт-тIэ мы дунейм щынэхъ лъапIэр?

Едж. Сэ сызэригугъэмкIэ мы дунейм щынэхъ лъапIэщ мамырыгъэр.

Мамырыгъэр щыIэмэ, цIыхухэр хуиту псэунущ, лэжьэнущ, еджэнущ. Сыт щыIэ – тIэ абы нэхърэ нэхъыфI?

Егъ. Мамырыгъэ псалъэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи синквейн дывгъэщIыт.

Едж. Мамырыгъэ

Уардэ, бжьыфIэ

Дыкъехъумэ, дегъэгушхуэ, дегъафIэ.

Мамырыгъэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым.

Хуитыныгъэ.

Едж. Мир

Гармоничный ,прекрасный 

Не стоит, Движется ,Растет

Нет лучше мира на земле

Добро.

Егъ. ЦIыкIухэ, мы дунейм мамырыгъэр фIыуэ зылъагъу зэдащIэу псоми мамырыгъэм дамыгъэ иIэщ. Сыт хуэдэ псэущхьэу пIэрэ ар?

Едж. Ар тхьэрыкъуэщ. Сэ куэдрэ зэхызох «Голубь мира», «Мамырыгъэм и тхьэрыкъуэ» жаIэу

Физминутка. Егъ. НтIэ, тIэкIу фешауэ къыщIэкIынщи зывгъэпсэху хуэдэурэ тхылъымпIэ напэм къыхэдвгъэщIыкIыт тхьэрыкъуэ цIыкIу.

(ЕджакIуэхэм тхьэрыкъуэ цIыкIу ящIхэри егъэджакIуэм дежкIэ ягъэлъатэ).

Егъ. ИIэт, цIыкIухэ, зэдвгъэгъапщэт мы доскам щыфлъагъу сурэтитIыр. (Зым итщ мамырыгъэм и дамыгъэ тхьэрыкъуэ цIыкIум къилъэтыхьу, адрейм итщ зауэ щекIуэкI щIыпIэ, сэлэтхэм Iэщэ яIыгъщ). Дэтхэнэр нэхъ хъуэпсэгъуэ?

Едж. ДауикI, тхьэрыкъуэ цIыкIу зэрытырщ. А сурэтым деж уафэр къащхъуэщ, дунейр дахэщ, тхьэрыкъуэ цIыкIум мамыру къелъэтыхь. Адрейм деж зауэлIхэр Iэщэхэр яIыгъыу зауэм Iутщ.ЗауэлIхэр ешахэщ, я нэгухэр зэхэуфащ. Дунейри абыхэм ещхьу уфащ. Хэт зауэ хуейр? (Зэгъэпщэныгъэ)

Егъ. Пэж дыдэщ. Мамырыгъэр дыщи1эм деж тхьэрыкъуэ ц1ык1ум мамыру къилъэтыхьым и закъуэкъым, ат1э слайдым зэритым хуэдэу ди дыгъэ ц1ык1ури уафэм къытхуогуф1эх. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, зауэр иухами, ди щIыналъэм зауэ щемыкIуэкIми, иджыри апхуэдэ щIыпIэхэр щыIэщ.

(Украинэм щекIуэкI зауэр къэзыгъэлъагъуэ ролик кIэщI йоплъ).

Дэнэ щIыпIэу пIэрэ мыр щекIуэкIыр?

Едж. Ар Украинэрщ. Абы иджыпсту щокIуэкI зауэр. Сыт хуэдиз насыпыншагъэ цIыхум къахуихьрэ абы, дапхуэдиз зеиншэ ищIа, зыщIэсын ямыIэжу дапщэ уэрамым къыдина абы.

Егъ. Иджыпсту дунейр ещанэ дунейпсо зауэм и бжэщхьэIум тетщ жытIэми дыщыуэнукъым. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ сыт тщIэн хуейр?

Едж. Апхуэдэ къэмыхъун папщIэ дэ тхузэфIэкI псомкIи дыхущIэкъун хуейщ мамырыгъэр хъумэным.

Егъ. Хэку зауэшхуэм и мафIэр зэи мыужьых мафIэу ди цIыхубэм къахэнащ. Абы теухуауэ зы усэ дыкъеджэнщ.

Едж. МафIэ мыужьых.

Рефлексие.

Егъ. ЦIыкIухэ, дэ нобэ фIы дыдэу зэпкърытхащ «Адэ лъапсэжь» рассказыр

Сыт нэхъ фигу ирихьауэ мы рассказым хэлъыр.

Едж. Сэ сигу ирихьащ Хьэжсуф цIыкIу и адэ лъапсэр, зыхэса хьэблэр, лъэпкъыр игу пымыкIыу къызэригъэзэжар.

Егъ. Дауэ къыпщыхъурэ, уэ пхузэфIэкIынут Хьэжсуф цIыкIу хузэфIэкIар? Мы рассказым къызэрыхэщымкIэ, ар уи ныбжьщ.

Едж. А зэманым сыпсэуамэ, сщIэртэкъым схузэфIэкIынуми, ауэ иджы зэманым схузэфIэкIынутэкъым.

Егъ. ФымыщIэ гуэр щIэуэ къэфщIауэ пIэрэ?

Едж. Сэ къэсщIащ сыт хуэдэ тхъэгъуэ нэгъуэщI щIыпIэ къыщыппэмыплъэми, уи адэ лъапсэжь, уи къуажэжь, уи лъэпкъ нэхърэ нэхъыфI зэрыщымыIэр.

Едж. Сэ языныкъуэ псалъэжьхэм я мыхьэнэр къэсщIащ.

Едж. Сэ жьы хъууэ кIуэдыжа псалъэхэри ахэр жьы хъууэ бзэм щIыхэкIуэдыкIри къэсщIащ.

Егъ. Иджыри сыт къэфщIамэ арэзы фыхъунут?

Едж. Зауэм, мамырыгъэм теухуа тхыгъэхэм нэхъыбэу сежджэну сыхуейт.

Егъ. (сабий къэс я пащхьэ смайлик ц1ык1у щырыщ илъщ) Иджы псори фи пащхьэм илъ смайлик ц1ык1ухэм феплъыт. Ахэр зыри зэщхькъым, зыр мэгуф1э, зыр хогупсысыхь, зыр нэщхъыцэщ. Сэ нобэ урокыр къызгуры1уащ жызы1эм смайлик гуф1эр къе1эт, псори къызгуры1уакъым жызы1эр хэгупсысыхьауэ щытыр къе1эт. Зыри къызыгурымы1уам нэщхъыцэр къе1эт.

Едж. Смайликхэр къа1эт

Егъ. Псори фIы дыдэщ. Пэжщ, цIыкIухэ, нетIэ жыфIар. Зауэ къэмыхъун щхьэкIэ балигъри сабийри тхузэфIэкI псомкIи дапэщIэтын хуейщ зауэщIэкъухэм. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэхэр куэдщ. Апхуэдэхэрщ зи зэранри Украинэм щекIуэкI зауэр. Дэ иджыкIэ дыкъахъумэ ди къэрал унафэщIхэм, дяпэкIи дащыгугъынщ, зауэм дыщахъумэну. Ди урокым и кIэухыу Гъубжокъуэ Лиуан и усэ псалъэкIэ зыфхуэзгъэзэну сыхуейт.

ЩIэблэр топ уэ макъым зыкIи хуейкъым,

Къыхэмыщту ахэр ирежей.

ЩIыми, псыми, уэгуми фыщызекIуэ,

Зауэ гъуэгур къыхэвмых къудей.

Оценкэр гъэувын.

Унэ лэжьыгъэр етын.

Унэ лэжьыгъэу етын езыхэр зыхуей кIэухыр рассказым иратыну.

Обновлено: 09.03.2023

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ — ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Темэр. Насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъуэм иlэ мыхьэнэр Кlэрэф Мухьэмэд и т.

Описание презентации по отдельным слайдам:

Темэр. Насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъуэм иlэ мыхьэнэр Кlэрэф Мухьэмэд и т.

Темэр. Насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъуэм иlэ мыхьэнэр Кlэрэф Мухьэмэд и тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар. Автор презентации: Карданова Мадина Тамбиевна, учитель кабардинского языка и литературы МОУ СОШ№1 г.Чегем.

Эпиграфыр: Щlэр къокlуэр, Жьыр мэкlуэж, жаlэ адыгэхэм. Атlэ къанэр сыт? Фlыр.

Эпиграфыр: Щlэр къокlуэр, Жьыр мэкlуэж, жаlэ адыгэхэм. Атlэ къанэр сыт? Фlыр къонэ.

Дунейм удэIэпыкъумэ сщIэркъым, ахъумэ уеIэзащIэ хъунукъым. Едж.: Къэбэрдей г.

Дунейм удэIэпыкъумэ сщIэркъым, ахъумэ уеIэзащIэ хъунукъым. Едж.: Къэбэрдей губгъуэхэм, вагъуэм хуэдэу ипхъауэ, lуащхьэ цIыкlу куэд итщ, иныкъуэхэри зи къикlыгъуэ хъуа гуэрэфым хуэдэу, нэхъ къыхэлъэгыкlыу, нэхъыбэр хьэмцlыракlэ щlыкlэу абыхэм къепхъэкlарэ щlы щхьэфэм теплъагъукl къудейуэ. Едж.: Хэти жеlэ а псори кхъэуэ, зауэ-банэкlэ мы хэкум икlуэда къомым тращlыхьауэ, хэти и гугъэщ щlы мыджэмыпцlэр щызэпцlыж гъащlэм езы дыдэм къызыпхибыргъукlауэ. Едж.: Пэжынкlэ хъунщ абыхэм кхъэ дыдэ хэтынри. Сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, lэджи икlуэдагъэнщ мы щlыпlэм, ар яубыдын, ар яхъунщlэн щхьэкlэ къытеуэхэм ебэнурэ. Мы щlыпlэр lейкъым, дунейм щlыпlэ хъуэпсэгъуэу щыlэхэм ящыщ зыщ. Ди Хэкурщ ар- ди Кавказырщ, ди лъэпкъырщ, ди унагъуэрщ.

Лэжьыгъэ нэужьым лlыжьхэр мэуэршэрри зэхэсщ:

Лэжьыгъэ нэужьым лlыжьхэр мэуэршэрри зэхэсщ:

Атlэ, Бэтlалэ, уэ зэрыжыпlэмкlэ, цlыхур ебгъаджэкlи бгъасэкlи а зэрыщытым имы.

Атlэ, Бэтlалэ, уэ зэрыжыпlэмкlэ, цlыхур ебгъаджэкlи бгъасэкlи а зэрыщытым имыкlыну, мыхьэнэ имыlэу ара? -Ар дауэ жыпlэрэ?! Егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ мыхьэнэуэ иlэр зымыщlэ делэр хэт? Ахэр сэ къысфlумыщ. Апхуэдэ сэзэгъынукъым сэ. -Сщlэркъым. Цlыхур сыт щыгъуи а зэрыщытщ, жоlэ. Иджы ари бдэжыркъым. Цlыхум фlы гуэркlэ зимыхъуэжынумэ, щlебгъэджэнури щlэбгъэсэнури сыт? -Еу-уей, тхьэмыщкlэ, уадыгэ дыди уэ! -Ар лlо, Бэтlалэ, адыгэр нэхъ тхьэмыщкlэу, зыри мыхъужыну ара? А жыпlэр нэхъ хьэлэмэтыжи. -Уэ сэ сызэгуэбгъэудыну аращ, щlалэ, узыхуейр, ауэ ар хъунукъым. Иlэщ псоми мыхьэнэ: егъэджэнми, гъэсэнми, ущиинми. Цlыхум щlэныгъэ пхуетынущ, икlи ират. Щlэныгъэрщ цlыхур хьэршым зыхьар, lэкlуэлъакlуагъэр пхуетынущ, хьэл-щэн дахэр пхуетынущ, дэнэ дежи утыкум укъыщимыгъэукlытэну. Сэ зи гугъу сщlар нэгъуэщlщ: щыlэщ цlыхум пхуемытын икlи пхуемыт. Къыбгурыlуэрэ ар уэ, щlалэ lумпlей? Цlыхур фlей защlэу зэкlуэцlылъмэ, абы и псэр пхуэтхьэщlыжынукъым. Ар зэрыпсэ фlейуэ къонэж. -Аращ-тlэ, лlыфl къуэфl хуэщкъым, жыхуаlэр, -кlэ иритащ нэгъуэщl зыгуэрым псалъэмакъым.-сыт хуэдэлlыт Инал и адэр, я нэхъ лэжьыгъэ гугъуми зыпыlуимыдзу, хьэрэму зы сом зыбгъэдимыгъэхьэну, цlыху зыхэтым яхуэпэжу…

Егъэдж.: Нтlэ, нобэ зи гугъу тщlыну темэр –насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъ.

Егъэдж.: Нтlэ, нобэ зи гугъу тщlыну темэр –насып нэс цlыхум иlэн папщlэ унагъуэм иlэ мыхьэнэр Кlэрэф Мухьэмэд и тхыгъэхэм къызэрыхэщыр къэгъэлъэгъуэнырщ. Хэт къыжиlэн, сыт унагъуэр зищlысыр?

Едж.: Зымыщlэ щыlэу къыщlэкlынкъым унагъуэр зищlысыр. Ауэ ар лъыкlэ, лыкlэ зэ.

Едж.: Зымыщlэ щыlэу къыщlэкlынкъым унагъуэр зищlысыр. Ауэ ар лъыкlэ, лыкlэ зэгухьэу, зэблагъэу зэдэпсэу цlыху гупым и закъуэкъым. Унагъуэр лъэпкъым и гъащlэм, и псэукlэм и къежьапlэщ, щlэблэм зыщиузэщl, цlыхум и хьэлыр, и гупсысэкlэр щызэфlэувэщ. Икlи ущымыуэу жыпlэ хъунущ: унагъуэращ цlыхур цlыху щыхъур, унагъуэм къыщищта хьэлырщ, цlыхугъэрщ, адыгагъэрщ абы и дуней гъащlэм кlуэцlрихыр. Аращ унагъуэ насыпу сэ къэслъытэр.

Егъэдж.: Насыпыр lыхьэмыгуэшщ, жаlэ. Цlыху къэс , зы гъащlэ зэриlэм хуэдэу, и.

Едж.: Ауэ ар икlэм нэсыху мэгугъэ, хуейщ и къуэм къигъэзэжыну. Хуейщ бын тэмэ.

Егъэдж.: Мэрем и щхьэгъусэ Хъангуащэ дауэ хущыт а lуэхум?

Егъэдж.: Мэрем и щхьэгъусэ Хъангуащэ дауэ хущыт а lуэхум?

Едж.: Дэтхэнэ зы анэми хуэдэу, абы и гур щlоуз и щlалэ закъуэм. Къуэмрэ лlымр.

Едж.: Дэтхэнэ зы анэми хуэдэу, абы и гур щlоуз и щlалэ закъуэм. Къуэмрэ лlымрэ яку къыдэна цlыхубзым и гум куэд щегъэв, мэгузасэ. И псэ закъуэ, дунейм и lэф1ыгъэ псори зыбгъэдилъхьа и къуэ закъуэм къыхыфlидзэу зэрежьэжам и гурыгъузым хэкlыркъым. Анэм щlигъэкlа нэпсхэр, зригъэфа быдзышэм и lэфlыр зыхэзыщlэжу и къуэм къигъэзэжа нэужьщ абы псэхугъуэ щигъуэтыр.

Егъэдж.: НтIэ, апхуэдэ унагъуэ зэгуры1уэ, унагъуэ тэмэм къыхэк1а Нартокъуэ гъ.

Едж.: Мис апхуэдэщ Нартокъуэ и образыр. И щlалэгъуэ-делэгъуэ зэманым ахъшэм д.

Едж.: Мис апхуэдэщ Нартокъуэ и образыр. И щlалэгъуэ-делэгъуэ зэманым ахъшэм дишэхыу, адэ-анэм я мылъкум хэджэгухьа Нартокъуэ пэшэгъу къыхуэхъуа ныбжьэгъупцlхэм ягъэудэфащ, ар зыри хуейкъым, и гугъэщ гъащlэр сыт щыгъуи апхуэдэу ирихьэкlыну.

Егъэдж.: Ныбжьэгъупцlхэр, жыфlэри къыхэвгъэщащ. Хэт фэ ныбжьэгъу пэжу къэфлъы.

Егъэдж.: Пэж гуэри хэлъщ абыхэм жаlэхэм. Щапхъэ дапщэ къытхуэхьыну, гугъу ех.

Егъэдж.: Пэж гуэри хэлъщ абыхэм жаlэхэм. Щапхъэ дапщэ къытхуэхьыну, гугъу ехьу къэтэджахэу, адэ-анэр пасэу яфlэкlуэдауэ, цlыху къахэкlауэ, гъащlэм цlэрыlуэ щыхъуауэ. Къытхуэхьыну пlэрэ апхуэдэ щапхъэ?

Едж.: Апхуэдэщ, псалъэм папщlэ, унагъуэшхуэ къыхэкlа, зи анэр пасэу зыфlэкlуэ.

Едж.: Апхуэдэщ, псалъэм папщlэ, унагъуэшхуэ къыхэкlа, зи анэр пасэу зыфlэкlуэда, илъэсибгъу ныбжьым иту lэхъуэ башыр къэзыщта, иужькlэ усакlуэ цlэрыlуэ хъуа Пащlэ Бэчмырзэ. Едж.: Апхуэдэщ дирижёр цlэрыlуэ Темыркъан Юрэ. Едж.: Апхуэдэщ Ломоносовыр…

Егъэдж.: Апхуэдэ щапхъэ куэд къытхуэхьынущ. Нтlэ, гугъуехьи имылъэгъуауэ, адэ.

Егъэдж.: Апхуэдэ щапхъэ куэд къытхуэхьынущ. Нтlэ, гугъуехьи имылъэгъуауэ, адэ-анэ хъарзыни иlэу, унагъуэ узыншэ къыхэкlа Нартокъуэ гъэсэныгъэ тэмэм щlимыгъуэтар сыту пlэрэ? Едж.: Сыт щхьэкlэ жыпlэмэ ар адэ мылъкум щигъэкlащ, дэнэкlэ жьыр къепщэми имыщlэу мэпсэу, зыри хуэныкъуакъым зэикl, апхуэдэу щытыну и гугъэщ сыт щыгъуи. Зыхэт гупым къызэрыхэкlыжын lэмал къыхуэгъуэтыркъым абы, ахъшэ иlэху. Зы зэман зыкъищlэжу, щалъхуа къуажэм кlуэжу трактористу лэжьэн щlэзыдзэжа, зи анэ закъуэр зыгъэгуфlэжа щlалэм и кlуэгъу-жэгъуу щытахэм псэупlэ къратыркъым. Дауэ хъуами, Нартокъуэ и ныбжьэгъупцlхэм къаlэщlокlыжри, и дуней тетыкlэмрэ псэукlэмрэ зрегъэхъуэж, и анэ Хъангуащи и гур мэзэгъэж.

Егъэдж.: Дауэ феплърэ-тlэ Нартокъуэ и lуэхур къызэрекlуэкlам? Едж.: Дауэ къек.

Егъэдж.: Дауэ феплърэ-тlэ Нартокъуэ и lуэхур къызэрекlуэкlам? Едж.: Дауэ къекlуэкlами, щыуауэ къэзыгъэзэжыр нэхъыфlщ, зи щыуагъэр зыгъэпщкlужыну хэтхэм нэхърэ. Нартокъуи къыщигъэзэжакlэ, абы къыгурыlуащ зэпцlыжа унагъуэ насыпыр уэрамым къызэрыпхудэмыхынур.

Егъэдж.: Адэкlэ сыхуейт мы повестым и гъусэу фигу къэвгъэкlыжыну Кlэрэф М. и.

Егъэдж.: Гуащэнэ и гугъу щытщlакlэ, сыхуейтэкъым гулъытэншэу Къэвгъэнэну абы.

Егъэдж.: Гуащэнэ и гугъу щытщlакlэ, сыхуейтэкъым гулъытэншэу Къэвгъэнэну абы и унагъуэри. Едж.: гущlэгъу хуумыщlу къанэркъым Гуащэнэ и анэмрэ и дэлъхухэмрэ я зэранкlэ Хэкум ирашын хуей хъуа Гъуэрыщl Исмел- Гуащэнэ и адэр. Исмел щlалитl и1эщ, щхьэгъуси иlэщ. И щхьэгъусэ Дарихъан къызыхэкlар унагъуэ къулейщ, зыхуей зыгъуэту къэхъуа цlыхубзщ, ауэ гъэсэныгъэ лъэпкъ бгъэдэлъкъым, и щхьэгъусэ Исмели унэlуту жери зэрипэсыркъым, и къуэхэри и адэм хуэжыlэщlэ ищlыркъым. Едж.: Адэ-анэ зэгурымыlуэм унагъуэр тlууэ гуэша ещl. Пхъур адэм и гъусэщ, лажьэ зэримыlэм гу лъетэ, гущlэгъу хуещl, фlыуэ елъагъу. Къуэхэр анэм нэхъ пэгъунэгъущ. Адэ тэмэмым и жыlэм едэlуа пхъур насыпыфlэ мэхъу. Сытыт щlэмыхъунур а унагъуэр нэрэ псэуэ зэрылъагъуу, я бынхэм адэми анэми зэхуэдэу пщlэ хуащlу, зэгурыlуэрэ зэдэlуэжу зэдэпсэуамэ.

Егъэдж.: Иджы сэ сыхуейт иджыпсту зи гугъу тщlа тхыгъэхэм хэт образхэр хьэлкl.

Егъэдж.: Иджы сэ сыхуейт иджыпсту зи гугъу тщlа тхыгъэхэм хэт образхэр хьэлкlэ, щэнкlэ, гъэсэныгъэкlэ, хабзэ-нэмыс зэрахьэкlэ зэрызэмыщхьхэр наlуэ къэфщlыну. П.п. Сэфаррэ Нартокъуэрэ. Едж.: А тlум я хьэлыр зыкlи зэщхькъым. Пэжщ, тlури цlыхуфlщ, цlыхухэми фlыуэ къалъагъу, ауэ Нартокъуэ адэ мылъкум щигъэкlащ, лэжьыгъи псэуныгъи зыри къыфlэlуэхукъым. Сэфар ади ани иlэкъым, зыгъэсар адэшыпхъурщ. Ар зыкъомрэ гугъу йохь. Абы зыри lей бгъэдэлъкъым. Нэмыс, хабзэ хэлъщ, лэжьыгъэр фlыуэ зылъагъущ. А фlагъыу хэлъым Сэфар насыпыфlэ ещl, щхьэгъусэ тэмэм, унагъуэ насып егъуэт. .

Егъэдж.: Нтlэ, Нартокъуэ унагъуэ тэмэм къыхэкlауэ, адэ-анэ тэмэм иlэу и гъуэг.

Егъэдж.: Нтlэ, Нартокъуэ унагъуэ тэмэм къыхэкlауэ, адэ-анэ тэмэм иlэу и гъуэгу захуэм щхьэ текlынкlэ хъуа? И гъащlэр имыухуэфыну зы щхьэусыгъуи иlэтэкъым абы. Едж.: Ар къызыхэкlар, япэрауэ, адэ-анэм я зэрану къызолъытэ. Псори хьэзыру иратурэ, ар щагъэкlащ. Етlуанэрауэ, Нартокъуэ ныбжьэгъу тэмэм къызэрыхимыхыфарщ. Сыт хуэдэ гъэсэныгъэ унагъуэм щимыгъуэтами, ар ныбжьэгъупцlхэм зыхашэ, и хьэлэлагъыр къагъэсэбэпурэ и мылъкур ягъэкlуасэ. Егъэдж.: Дауикl, адэ-анэм я зэран хэлъщ абы, ауэ зы бын закъуэ фlэкlа гъащlэм щамыгъуэтым, ахэр тегужьеикlауэ япlащ Нартокъуэ. . Ди жагъуэ зэрыхъунщи, цlыхум гъащlэ зэщ зэрыритыр, блэкlами къыпхуегъэгъэзэжынукъым. А гъащlэ гъуэгу дыдэм иджыри зэ ирикlуэну къахуихуатэмэ, адэ-анэр быным и гъэсэныгъэм нэгъуэщlут зэрыхущытынур

Егъэдж.: Иджы сыхуейт нобэ зи гугъу тщlа lуэхугъуэхэм зэ фыхэплъэжу къыжыфlэн.

Егъэдж.: Иджы сыхуейт нобэ зи гугъу тщlа lуэхугъуэхэм зэ фыхэплъэжу къыжыфlэну, сыт фэ насыпу къэфлъытэр? Едж.: Насыпу ди зэманым ябжыр мылъкурщ. Сэ ар сигу ирихьыркъым, мылъкушхуи сыхуейкъым. Сэ сызыхуейр гъащlэ дахэщ, гъащlэ зэгурыlуэщ. Едж.: Насыпщ адэ-анэр зэгурыlуэу, унагъуэм щlэсыр псори фlыуэ зэрылъагъуу зэдэпсэуныр. Адэ-анэр къыпхуэмыарэзыуэ зэикl фlы ухуэзэнукъым. Егъэдж.: Атlэ, сыт зы цlыху гъащlэр зищlысыр? Кlэщlщ ар! Насыпщ гъуэгу тэмэм гъащlэм къыхэпхыфмэ, жьы ухъуа нэужь уи гъащlэ блэкlам ухущlемыгъуэжын хуэдэу. Щlэр къокlуэ, жьыр мэкlуэж. Атlэ къанэр сыт? Фlыр къонэ. Дэри яужь дитын хуейщ ди гъащlэм фlыр нэхъыбэу къызэрыхэднэным, пщlэншэу дунейм дызэрытемытам и щыхьэту. Абы щыгъуэщ цlыхум насып нэс игъуэтауэ зыщилъытэжынур.

Нур Гуащэ

Адыгэ лъэпкъыр зэ шъукъэдаIо!
Ти АдыгабзэкIэ тыжьугъэгущыIэ
Ти бзэ нахь дахэ зэрэщымыIэ
Сабийхэр шъуиIэмэ агурыжьугъаIо!

Адыгэ лъэпкъоу зыбзэ зымышIэрэм
Мыри Адыг пIоу таущтэу уеджэщт?
Янэмэ-ятэмэ арымыгъэшIагъэмэ
Шэныхэр хабзэхэр таущтэу ашIэщт?

Адыгэ унагъом сабыир къихъуагъэмэ
ТинэдэлъфыбзэкIэ шъудэгущыIэ
ГущыIэ дахэ сабыим ебгъашIэмэ
ГущыIэ дахи уигъэшIэжьыщт.

Тибзэ тымышIэу тыкъэжьугъэтэджымэ
Уахътэу блэкIыгъэу шъукIэгъожьыщт
Тэщфэдэу Адыгэ цIыфмэ тахахьэмэ
Ти бзэ тымышIэмэ къытшIокъиныщт.

УАдыгэба, уибзэ умышIэ къытаIомэ
Ар гу къауэшхоба зэ шъуегупщыс
Тыгу кIодыгъоу унэм тыгъэзэжьымэ
Джэуап къэшъутыщтыри къэшъугупщыс.

Тилъэпкъ бае игъэкIодынэу
боу цIыф аджи таужь къихьагъ.
Хэкужьы чIыгум тыкъырыфыгъэми
Хымэжьы чIыгум тыщыбэгъуагъ.

Къухьам изыхэу цIыфхэр къыращызэ
Тянэжьхэр тятэжьхэр ащ щылIыхьагъ
Шхыни тэрэз ящамыгъотоу
Шырамыгъэтоу зэтелIыхьагъ.

Псаоу чIыгу хымэм къэсыгъэхэр
Зы чIыпIэ горэм щыратэкъохьыгъ
Коцыри былыми къыщымыхъунэу
ЧIыгу лIагъэр тэ къытатыгъ.

Тилъэпкъ къинэу тищэкIыгъэр
Сабийхэр жьугъэтIыси шъыпкъэр яшъуIуат
Тэ непэ азапэу тызхэтыр имышIэмэ
ШIу лъэгъуныгъэр фыримыIэщт.

Илъэпкъ ашIугъэр непэ имышIэмэ
Неущ Тыркум, Арапым дэкIони ар хэхьажьыщт
Илъэс пшIырэ пшIыкIутфырэ блэкIымэ
Ар Адыгагъэми шигъупшэжьыщт.

Тянэхэр тятэхэр тыкъэжьугъэтэджи
ЩыIэныгъоу тызфакIорэм тежьугъэгупщыс
Хымэжьы чIыгум тыщымыунэхъузэ
Тыкъэжьугъэтэджи тихэкум тэжьугъэзэжь.

* Мыр къэзытхыгъэр зы кIэлэ егъаджакIо шъуз горэм. Ежьыр зэгорэм Тыркум къэкIуагъэу ныбжьымэ АдыгабзэкIэ аригъэшIэным пылъыгъагъ. Зы кассет ежь имакъэкIэ еджагъэу седэIугъагъ мы поэмыр. ар сэрыкIэ ихэкум пае фэзаорэмэ, фэлажьрэмэ ащыщ.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей — Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.

Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.

Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-

ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ

Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар

Налшык къалэ

31 – нэ курыт еджап1эм

адыгэбзэмрэ литературэмк1э

и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.

Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,

Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,

Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,

Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.

Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей — Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.

Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.

Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.

Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.

Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.

Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.

Читайте также:

      

  • Дом со шпилем дзержинск сочинение
  •   

  • Сдам на 5 сочинение
  •   

  • Всякая любовь великое счастье даже если она не разделена сочинение бунин
  •   

  • Великие мысли исходят из сердца сочинение
  •   

  • Сочинение почему нужно помнить о подвигах предков

Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.

Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.

Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.

Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.

Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?

Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.

Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.

«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.

Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.

Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .

Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…

Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.

Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…

Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.

Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.

Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:

Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,

Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…

Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.

Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.

Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».

Адэк1и щ1оупщ1э:

«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?

Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,

Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»

Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.

Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.

Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:

Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!

Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!

Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.

1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.

Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.

Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:

Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!

Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.

Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей

Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.

Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,

Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.

Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.

Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.

Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!

Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.

Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.

Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.

1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.

Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу

«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э

Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.

Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!

Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.

Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э

Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.

Понравилась статья? Поделить с друзьями:
  • Адыгэ намыс сочинение
  • Адыгэ л1ыхъужьхэр сочинение
  • Адыгею прославила удивительная природа прекрасные леса бурные реки егэ
  • Адыгейский государственный университет вступительные экзамены
  • Адъютант необъятный неподъемный пребольно егэ