Анэм теухуауэ сочинение на кабардинском языке

Обновлено: 09.03.2023

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

«Анэ,уэ пхуэдэ

Анэхэм теухуауэ адыгэ усак1уэхэм ятха усэхэм
щыгъуазэ щ1ын.

Усэхэм анэм и1э пщ1эр, нэмысыр, гуапагъэр,
дахагъэр, гу щабагъэр къызэрыщыгъэлъэгъуам,
езы усак1уэхэм ф1ы лъагъуныгъэк1э анэхэм
зэрыхуэусэм к1элъыгъэплъын..

Удихьэхыу, гум дыхьэу къеджэфу егъэсэн.

1 вед .Фи махуэ ф1ыуэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ!

2вед. Фыкъытхуеблагъэ ди нэхъыжьыф1хэ, ди егъэджак1уэхэ, ди еджак1уэ ц1ык1ухэ!

2 вед . Апхуэдэу щ1ыщытри гуры1уэгъуэщ: ар зытеухуари ди анэхэращ, ди нанэхэращ, ди шыпхъу ц1ык1ухэращ. Нобэрей ди зэ1ущ1эри зыхуэгъэзар ахэращ.

1вед. 3 –нэ классым щеджэ еджак1уэ ц1ык1ухэм я анэхэм папщ1э ягъэхьэзыра концертыр фи пащхьэ идолъхьэ.

2 вед Ди ехъул1эныгъэхэри флъэгъунщ, ди ныкъусэныгъэхэри къыджеф1энщ.

1вед. Анэ, сыту псалъэшхуэ ар. Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эр егъэп1ейтей. Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ, ауэ жи1акъым ар пасэрейм. А псалъэхэм урагъэгупсысыж 1эщабэ-1ущабэу, хуэсакъыу анэхэр хъумэн зэрыхуейм.

2вед. Анэр дунейм и дыгъэщ.

Анэр дунейм и мазэщ.

Анэр дунейм и жылэщ.

1вед. А псалъэхэм купщ1эшхуэ хэлъщ, арауи жып1э хъунущ ц1ыху гъащ1эр пызыщэр.

Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэк1э,

Къысф1ощ1 си Хэкур къэзгъуэтыжа.

Жызмы1эфыни анэдэлъхубзэк1э

Къысщохъур зыри къэмынэжа.

Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэк1э,

Бзухэм я усэр сф1ощ1 ефэгъуэк1.

Гъащ1э, зыгуэрк1э укъысхуэупсэмэ,

Анэм и макъым сыпомыгъэк1. .

1вед.. Анэ лъагъуныгъэм к1э имы1э, пэжыр жып1эм куэд 1ей ар хуэмей, и бынхэм я гуф1эгъуэ илъагъумэ , абы къыхуащ1эну псори къыхуащ1ащ .

Анэр быным сытк1э ящыгугърэ?

Жыс1энщ пэжи куэд 1ей ар хуэмей

Илъагъу закъуэу щытмэ бын гуф1эгъуэ,

Къыщохъу абы дуней ф1ыгъуэр ей.

Я нэщ1эбжьэ бынхэм имылъагъумэ

Плъыжь дэмыхъумэ псэк1э къигъэщ1ам

И жьы хъугъуэм ф1ыуэ т1эк1у къалъагъумэ

Къыхуащ1ыну псори къыхуащ1ащ.

Куэд хуей анэр?

И пхъум и 1эф1ыгъэ

Къуэ гулъытэ, 1эф1агъ т1эк1ущ зыхуейр.

Дунейм щехыж махуэм къуэм и л1ыгъэ,

Пхъум и гъыбзэ инэпс – ар къудейщ.

2вед. . Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эм зыкъыдегъазэ. Абы быным хуи1э лъагъуныгъэм к1э и1экъым, сытым дежи быныр балигъ хъуами, ар сабийщ анэм дежк1э, и гур хуэмыгъуэщ жэщи махуи.

Едж. Гъащ1эр ехь

И быным тегужьеик1ауэ:

Жьыр къепщамэ

Ф1ощ1 ирихьэжьэн.

Къытехъуам уэлбанэ,

Унэм ар щ1эк1ауэ,

Псыдзэм ихьын ф1эщ1у

Химыгъэхьэ жэщым,

Химыгъэхьэ щ1ы1эм-

Ф1ощ1ыр псоми

Зыгуэр къращ1эн…

Дыгъэ закъуэрщ анэм

Дзыхь зыхуищ1у щы1эр

А т1ум зэщхьщи аращ

Едж.: Сэр папщ1э жеиншэу

Нэху куэдхэр уэ бгъэщт

Ц1э лейхэр бжыгъэншэу

Уахэдэу къысф1эпщт.

Уи макъыр сэ си псэт

Сигу хуабэ къысхуищ1т

Окопэм сыщисми

Зэхэсхыу къысф1эщ1т

Зауэшхуэм и гъуэгуу

Гъуэгу к1ыхьу сэ ск1уам

Слъэгъуакъым уи нэгум

Гуэк1уагъэк1э тек1уа

Уи нит1ым нэхъ гуапи

Слъэгъуакъым зым ей

Уи шхынхэм нэхъ 1эф1и

Ехакъым си джий

Уи 1ит1у си цейхэр

Зыдыжхэу щытам

Хуэдэ1э дунейм

Сэ сщ1эркъым тетау.

2 вед. .: Анэм теухуауэ тхыгъэм нэмыщ1и уэрэд куэди щы1эщ абыхэм папщ1э.

Къысхуэгуф1эт уэ си анэ

Мазэ нуру пыгуф1ык1

Ей си анэ уезэшамэ

Сэ уэрэдк1э пщхьэщысхынщ.

Ежьу: Ей си анэ, псэм и дамэ

Дамэу стетри уэ аращ

Си уэрэдым и макъамэм

Псэуэ хэслъхьэри уэ аращ

Ущыгуф1эм деж си анэ

Си гур уэ къыпщогуф1ык1

Сыхэбгъэлъу щытми данэ

Уэ уи 1эпл1эр йохуэбэк1

Ежьу: Ей си анэ, псэм и дамэ

Дамэу стетри уэ аращ

Си уэрэдым и макъамэм

Псэуэ хэслъхьэри уэ аращ

1ейуэ щы1экъым зы ани

Я нэхъ дахэри аращ

Сахэдэжми сэ ит1ани

Къахэсхынури уэращ.

Ежьу: Ей си анэ, псэм и дамэ

Дамэу стетри уэ аращ

Си уэрэдым и макъамэм

Псэуэ хэслъхьэри уэ аращ

1 вед.: Анэм и 1эм ищ1 псори щ1эщыгъуэщ, абыхэм я 1эхэм дыщэ къапощэщ.

1. Жа1эр мамэ и 1эм

Дыщэ къыпыщэщу

Абы зыгуэр щищ1эм

Соплъ зыщызмыгъэнщ1ыу.

Ар хэмыхьэм 1уэхум

Жа1эри хэмыщ1у

Щы1экъым зы закъуи

Ар зьпэмылъэщу.

Мамэ дахэ, уи 1эм псори лъок1

Ахэм я щэбагъым ещхьщ уи 1эпл1эм

Мамэ дахэ, уи 1эм псори лъок1,

Ахэм я хуэбагъыр ещхыц у и нит1ым.

Жа1эр мамэ и 1эм

Дыщэ къыпыщэщу

Абы ещ1эр псори

И къалэн къыф1эщ1у.

5Щыскъым ар 1уэху хъуамэ
Зэик] епэщэщу
Зэф1игъэщ1у ахэр

Езым еим щымыщу.

Жа1эр мамэ и 1эм

Дыщэ къыпыщэщу,

Сак1элъоплъыр ахэм

Сэ защызмыгъэнщ1у.

7.Ауэ си ф1эщ хъуркъым,

Сэ абы зезгъапщэм,

Си 1э ц1ык1ухэр мамэ

И 1эхэм щымыщу.

1вед. Иджыри къыздэсым зи гугъу тщ1а анэхэм, пхуэмы1уэтэн хуэдиз я ф1агъщ. Дауик1, зи бын зыужэгъужа щы1экъым. Ауэ сэ иджыпсту утыку къисшэну сызыхуей анэр анэу щы1эм я щапхъэщ жыт1эмэ дыщыуэнукъым. Жэщ махуэ имы1эу ,и гуи и пси, и къаруи етауэ, гугъу ехьу еп1 абы и щ1алэ ц1ык1у Ислъам. Пщыунэ Раметэ утыкум къыдогъэблагъэ.

1 вед. Гъащ1э щыхъук1э, 1эджэми дыхуозэ, 1эджи щыдолъагъу, щызэхыдох псалъэ гуапи псалъэ жагъуи. Щы1эу п1эрэ адэ-анэр 1эф1у зымылъагъу е абыхэм я гумм ежэл1эн псалъэ жагъуэ езыпэсыжфын бын? !

Зэгуэрым семыгупсысу

Зы псалъэ къызжьэдэк1ат

Ар мамэ игущ1эм нэсри

И нэпсхэр къыщ1игъэк1ат.

К1иякъым мамэ схуэшхыдэу

Зы псалъи къызжимы1ат

И 1элъэщ1 к1апэм щэху дыдэу

И нэпсхэр к1уэц1игъэпщк1уат.

А нап1эзып1эм си псалъэм

Сык1элъыпхъуэнут слъэк1ам,

Ауэ шэм хуэдэкъэ псалъэр-

Къимыгъэзэж п1эщ1эк1ам.

Сымыщ1эу сщ1энур, сыхэплъэу

Сэ махуэ псор есхьэк1ат

Мамэ и жагъуэ хъун псалъэ

Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1а?

Сэ шыгъушыпсыт1эм сыхэлъу

Жэщ к1ыхьри езгъэк1уэк1ат

Зи псэм щыщ хъуауэ къысхэлъым

Сэ дауэ сегуэуэк1а?

Анэгухэм нэхърэ нэхъ п1ащ1э,

Нэхъ махэ умыгъуэтын,

Зы мыхьэнэншэу къыпф1эщ1ри

Яхуохъур ахэм удын.

1вед. Анэм и быным лей къытримыгъэхьэн, ихъумэн папщ1э маф1э лыгъэм хыхьэфынущ, хуей хъуми и псэр итыфынущ. Абы быным хуимыщ1эн ф1ыгъуэ телъкъым мы дунеишхуэм.

Анэм быныр зэрилъагъур

Псы ежэхым и к1ыхьагъщ,

Быным анэр зэрилъагъур

Телъ лъэмыжым и к1ыхьагъырщ.

КЪАГЪЫРМЭС Борис

Си анэм деж

Шхын IэфIхэр Iэнэм

къытеплъхьауэ,

Аргуэру дэ дызэбгъэдэсщ.

Гумахэ дыдэ укъэхъуауэ,

УолъэщI кIэпхынымкIэ уи нэпс.

«КъэкIуэж нэхъ щIэхыурэ,

ЖыбоIэ, — плъагъукъэ,

Жьы сыхъуащ.

Жыжьэж си гугъэкъым ажалыр,

ПщIыхьэпIэу уи адэри слъэгъуащ…

Шхэт уэ, едзакъэт. Сыт, на,

Ди джэдхэр, дауи, тIысыжащ,

Згъэбыдэжынщди

Уи псалъэр зэу щIэплъэфыжащ.

Ей, сянэ, сянэ! Уэ узахуэщ,

Солъагъу уи щхьэцу уэсу тхъуар.

Уимылъу сигу мыкIуа зы махуэ,

УзмыщI уигугъэми хъымпIар.

Уи бын уигъусэу мыпсэуныр

ЗищIысыр сэри зыхэсщIащ…

Збгынэнкъым, хьэуэ, сэ ди унэр,

Мис, ноби уэ сурихьэщIащ.

Уэ пщIэркъэ — гъащIэр

Жьапщэ инщи,

Дунейм цIыху цIыкIур щрекъухь,

ЖимыIэу: «Мор мобы и бынщи,

Зэбгъэдырес, жьы хъуар

Аращ зэманыр, хьэщIэм хуэдэу,

ДыкъыфхуокIуэж, фыдощI

ДыщыIэм махуэ — ар тфIэкуэду

Узыншэу, мамэ! Умыдзыхэ,

Нэхъ мащIэу пщIыхьхэм егупсыс.

ТхьэмыщкIэр — быни зимыIэххэрщ.

Мы усэр уи къуэм уэ пхуеус.

Сыту пасэу жьы ухъуа уэ мамэ,

Сыту пасэу сэ балигъ сыхъуа

Жэщи махуи иджы 1э бдэслъами,

Схуэщ1ыжын сэ щ1алэ уи щхьэ тхъуар?

Сот1ысэх уи гъащ1эм сегупсысуи

Хъуам уи теплъэ къызетыр гухэщ1.

Зэрешам уэ апхуэдизу уи псэр

Си зэрану куэд хэлъу къысф1ощ1.

Дунейм теткъым хунэсауэ анэм

Хуищ1эжыну игу илъ псор зы бын

Ауэ мырщ сэ жыс1эр сигу ит1ани:

Си гулъытэр пасэу уэ пщ1ыгъуамэ,

Щ1эх мыпхуэдэу мамэ умыхъунт.

А гупсысэм сэ иджы сыкъес,

Сыкъес сыкъэсащи уи деж к1асэу

Уэ уи гъащ1эр уохь иджы хэлъ-хэсу

Сэри уи п1э лъапэм мис сытесщ.

Схупыщэну махуэ, сщ1амэ уи гъащ1эм

Уэ си гъащ1эр щхьэузыхь пхуэсщ1ынт

Махуэ къэс иджы сыныпхуоп1ащ1э

Си нэ къик1ыу уэ сынып1уплъэн.

1вед. Анэ псалъэр алыхь-талэм и тыгъэ нэхъыф1хэм щыщу жып1э хъунущ, арауи къыщ1эк1ынщ мыпхуэдэ псалъэжьхэри хъыбархэри щ1ыщы1эр:

Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.

2вед. Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ.

1вед. Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.

2вед. Анэм и быным хуищ1эр ф1эмащ1эщ.

1вед. Анэм къуипэсыр гунэсщ

2вед. Анэм къуитыр 1эф1щ.

1вед. Быныр нэм и хъуахуэщ.

2вед. Анэм и щапхъэр пхъум и бзыпхъэщ.

1вед. Анэ нэп1сыр уэсым нэхърэ нэхъ щ1ы1эщ.

2вед. Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ.

2 вед. Анэхэм дапхуэдиз псалъэ дахэ хужыдмы1эми мащ1эщ абыхэм я ф1агъымрэ я 1эф1агъымрэ къэт1уэтэну.

Пщыук1 Беслъэн

Быну щы1эм ягу сыкъипсэлъык1ыу

Анэ псоми хъуэхъу сэ

Къахуэвгъэгъуу бынхэм я сэкъатыр

Насып лъагэм фи щхьэр фигъэ1эту.

Анэ, анэ, анэ дыщэ

Быну щы1эр си щхьэм хузогъадэ

Фытхуэпсэу къепсыхук1э щ1ылъэм дыгъэ

Фи щхьэц тхъуахэр хурегуф1э ф1ыгъуэм.

Быну щы1эм ягу сыкъипсэлъык1ыу

Анэ псоми хъуэхъу сэ фхузо1этыр

Бын гуф1эгъуэм напщ1эр дыхэлъэту

Жьыщхьэ махуэу бынхэм фащхьэщыту

Анэ псоми хъуэхъу сэ

Къахуэвгъэгъуу бынхэм я сэкъатыр

Насып лъагэм фи щхьэр фигъэ1эту.

1вед. Щ1алэ ц1ык1у псоми къабгъэдэк1ыу ди анэхэм, ди егъэджак1уэхэм хъуэхъу къывжи1энущ Джэдмышх Артур.

2 вед: Анэр сабийм и чэнджэщак1уэщ, гъащ1э гъуэгу пэжым и гъэлъэгъуак1уэщ. Абы нэхъ ц1ыху пэжи, нэхъ гуапи мы дуней псом щыбгъуэтынкъым. Ди анэхэм псалъэ гуапэ яжет1эхук1э, я гур хохъуэ.

1вед. Ди еджак1уэ ц1ык1ухэм нобэрей махуэшхуэм я анэхэм я гурыщ1э къабзэхэр хуа1уэтэну мурад я щ1ащ. Абыхэм утыкур хуит яхудощ1!

2вед. Дэтхэнэ 1уэхуми к1э и1эщ. Ди зэ1ущ1эри абдеж и к1эм нэсащ. Мы махуэ лъап1эмк1э иджыри зэ ди анэхэм дынывохъуэхъу.

1вед Фи махуэр нэхуу, гуф1эгъуэр фи куэду, узыншагъэ быдэ фи1эу, бын гуф1эгъуэ флъагъуу Тхьэм куэдрэ фигъэпсэу.

Нажмите, чтобы узнать подробности

2) Гъащ1э зыт анэ,гъащ1э зыт анэ, Узэзгъэщхьынур къысхуэмыгъуэт. Фагъуэ1уэщ си бзэр,пэлъэщкъым си псэр Къызэщ1охъае псэ гумэщ1ар. Блок1 зэманыр,мак1уэр гъащ1эр.Ц1ыхум зехъуэж,1уэхугъуэ гуэрхэри гум щогъупщэж.Ауэ сыт хуэдэ зэмани,сыт хуэдэ лъэхъэник1 гум имыхуу,хуабэу,гуапэу,щабэу илъщ анэр. Анэ.Сыт хуэдиз 1эф1агърэ гуапагърэ къуитрэ мы зы псалъэм,сыту мыхьэнэ куэд къик1рэ мыбы. «Анэр анэщ» жып1эмэ,абы псори къок1:укъызэрилъагъури зэрыплъагъужри,къыпхуи1э щытык1эри,хуи1эжри,зэрумыужэгъури укъызэримыужэгъури.Куэдрэ,куэдыщэрэ,уеблэмэ игъащ1эк1э зэрыбгъэпсэунури.Анэм и 1эф1щ япэ дыдэ зыхэпщ1эри,зи хуабэ къыплъысри,зи лъагъуныгъэ мык1уэщ1к1э зозыгъэгъэнщ1ри.Аращ уи унэр дыщэк1э зыблэну яужь итри,псоми нэхърэ нэхъ насыпыф1э уищ1ыну хущ1экъури,игъащ1эк1э къомыфыгъуэну-къомыижынури,сыт хуэдиз ехъул1эныгъэ е къулеягъэ умыгъуэтами. Гъащ1э мыхъумыщ1эми,зэман бзаджэми азырщ-анэрщ-зызымыхъуэжу къанэр.

3)Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эм зыкъыдегъазэ. Абы быным хуи1э лъагъуныгъэм к1э и1экъым, сытым дежи быныр балигъ хъуами, ар сабийщ анэм дежк1э, и гур хуэмыгъуэщ жэщи махуи, мы дуней псом тету п1эрэ адэ-анэм хуэдэу псэ къабзэ гу хьэлэлрэ зи1э нэгъуэщ1 ц1ыху! Анэхэм теухуауэ адыгэ усак1уэхэм я 1эдакъэщ1эк1ыу усэ тхыгъэ куэд ди1эщ

Анэм и гур сытым дежи быным и гъусэщ, аращ анэр нэм щ1ыхуагъадэри, абы и щыхьэтщ мы усэр. Гъащ1эр ехь

И быным тегужьеик1ауэ:

Унэм ар щ1эк1ауэ,

Псыдзэм ихьын ф1эщ1у

4)Ялъэк1амэ, быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым. Дэк1амэ, къыдэмыхьэжын къаф1ощ1ыр, жьы къепщамэ, ирихьэжьэнк1э шынэу мэпсэу,Джэрыджэ Арсен и усэри абы щыхьэт тохъуэ

Уэшх къожэхыр,уи нэм къыщ1э1эбэр

Умылъагъуубжьыхьэ жэщыр к1ыф1щ.

Гъуэлъыжами къуажэ к1ыхьыр,щ1ыбым

Уэ удэтщи,пщыгъа т1эк1ури псыфщ.

Пщ1эркъым ноби уи къуэм къыщик1ухьыр:

Пщ1ант1эм укъыдок1ри,п1ыкъыу бжыхьыр,

Жэщ къетк1ухым и нэм ущ1оплъыхь.Ауэ зэк1э уэ упхоплъ жэщ к1ыхьым,

Къуэм е1этыр гумэщ1ауэ бжэ:

«Бын нэщ1эбжьэм зэи анэ гущ1эм

5)Ц1ыхур гузэвэгъуэ хэхуэу 1эмалыншэ дыдэу къыщынэм деж, и гур япэ зыхуэжэр анэрщ… И псэм къилъыхъуэр аращ… Фэ гу лъывмытэжагъэнк1и мэхъу, ауэ 1уэхур и нэм щынэсым, фигухэр сэ къызэджащ. Фи псэхэм сыкъышащ …. Анэпсэхэр зэи л1эркъым. Ар бынхэм я гущ1эм щопсэу. Нэрымылъагъуу. Къатемыплъэкъук1ыу.Я ф1ым иригуф1эрэ я 1ейм иригумащ1эу….Бицу Анатолэ

Сыту пасэу жьы ухъуа уэ мамэ,

Сыту пасэу сэ балигъ сыхъуа

Жэщи махуи иджы 1э бдэслъами,

Схуэщ1ыщын сэ щ1алэ уи щхьэц тхъуар?

Сот1ысэх уи гъащ1эм сегупсысуи,

Хъуам уи теплъэ къезытыр гухэщ1.

Зэрешам уэ апхуэдизу уи псэр

Си зэрану куэд хэлъу къысф1ощ1…

Сабиигъуэм и макъамэр,

Псэм гу1эгъуэу къыхо1ук1.

Зы телъыджэ насып хъуаск1эу,

6) Ц1ыхум гузэвэгъуэ къыщылъысам деж ипэ псалъэу а гузэвэгъуэм къыхихыжыфыр «мамэ» жыхуи1э а псалъэ закъуэрщ.Щ1ым дытетыф дызэрыхъуу,жьым дытесу псым депыджын щ1ыдодзэ. иИсабийм тегужьеик1ауэ,жей лъэпкъ имыщ1эу,абы и псэук1э,п1ык1э хъунум йогупсыс.Анэр сыт щыгъуи быным папщ1эк1э хыхьэфынущ маф1эм.

Сабиигъуэм и макъамэр,

Псэм гу1эгъуэу къыхо1ук1.

Зы телъыджэ насып хъуаск1эу,

7) Жэщи махуи тетщ уи нэ1э

псэ тыншыгъуэ уэ уимы1э

Плъагъухук1э ар бынунэу!

Гущэм тету лъапэр,анэ,

епхьэк1акъым уэ жэщ мащ1э,

абы щхьэк1э зэ гукъанэ

уэ умыщ1у, уогумащ1э! 8) Си гъунэгъуу къак1у уэ къэт1ысыт,

Къащтэ дзасэр,лыпц1эр сэ згъэжьэнщ,

Мис си дамэм вагъуэу тху щонэхур,

Кремль вагъуэм ар я къуэшщ,уэ пщ1эм.

Жьыбгъэм уэсыр пщ1ант1эм къыдек1утэ,

Нобэ махуэм ещхьти сыщежьар,

Сэ къысф1ощ1ыр ар дыгъуасэ хуэдэу,

Гуауэ псори хъуащ иджы 1эщ1ыб,

Щ1ы тхьэлъэ1уи,уеблэм ноби содэ,

Сэлэт хабзэу фляжкэм дегъэ1уб.

Ефэ,ди анэ,уэ ипфащ нэхъ гуащ1э-

Гуауэ 1эджэм уи щхьэр хужь ящ1ащ,

Ефэ,уи къуэу къэк1уэжами папщ1э,

Куэди нэпсу щэхуу уэ плъэщ1ар.

Зы псалъэ къызжьэдэк1ат.

Ар мамэ и гущ1эм нэсри

И нэпсхэр къыщ1игъэк1ат.

Зы псалъи къызжимы1ат.

И 1элъэщ1 к1ёапэм щэху дыдэу

И нэпсхэр к1уэц1игъэпщк1уат…

10) Хъийм ик1ауэ бийхэм загъэпхъашэт,

Шэхэр уэфу къуажэ ц1ык1ум дапхъэрт.

К1ыф1у,щ1ы1эу щ1ыунэ бэнзэвым

Ист фыз гуэр и бынхэм тегузавэу.

Бийм а махуэм шэуэ къиут1ыпщыр

Къыщыуэжырт анэм и гум.

Ажал л1ык1уэу бий топышэ ц1ывхэм

Я фий макъыр зэхихыхук1э анэм,

Къыбгъэдэс и бынхэм я щхьэ пц1анэм

Ятриубгъуэт 1элъэщ1 к1апэ пхъашэр.

11) Зэм сыпIэщIех толъкъуну гъащIэм,

Лъыхъуэным уи нэр ирегъэш. Зэш кIыхьыр пхуэмыхьыжу къасщIэм,

Уи лъэIукIэ сэ къызогъэзэж…

12)Анэм теухуауэ зы тхыгъэ нэхъ мыхъуми зи 1эдакъэ къыщ1эмык1а тхак1уэ щы1экъым жып1эми ущыуэну си гугьэкъым. Анэ псалъэр алыхь-талэм и тыгъэ нэхъыф1хэм щыщу жып1э хъунущ, арауи къыщ1эк1ынщ мыпхуэдэ псалъэжьхэри хъыбархэри щ1ыщы1эр:

Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ.

Анэм и быным хуищ1эр ф1эмащ1эщ.

Уи анэрэ уи нит1рэ.

Анэм и хабзэр,пхъум и бзыпхъэщ.

Анэм къуитыр 1эф1щ.

Анэм къуипэсыр гунэсщ.

Анэнэп1эсрэ гупк1э т1ысып1эрэ.

13)Иджыри къыздэсым зи гугъу тщ1а анэхэм, пхуэмы1уэтэн хуэдиз я ф1агъщ, ц1ыху псори фэк1э зэрызэмыщхьым хуэдэу анэ псоми я гур зэхуэдэкъым, щы1экъэ анэ зи гур мып1ейтей, къыхэмыщтык1, абыхэм папщ1эщ мы усэрхэр щ1аусари

Презентация на тему:

Самое прекрасное слово на земле – мама. Это первое слово, которое произносит человек, и звучит оно на всех языках одинаково нежно. У мамы самые добрые и ласковые руки, они всё умеют. У мамы самое верное и чуткое сердце – в нем никогда не гаснет любовь, оно ни к чему не остается равнодушным. И сколько бы ни было тебе лет, тебе всегда нужна мать, ее ласка, ее взгляд. И чем больше твоя любовь к матери, тем радостнее и светлее жизнь.презентация на тему: «Мама» жизнь дает ребенку мама.

Презентация на тему: «Гъащ1э зыт анэ» (8 класс) кабардинская литература

Презентация на тему:

Автор презентации Учитель кабардинского языка и литературы Тхакахова Фоза Музабировна. МОУ СОШ с.п. Кишпек

Презентация на тему: «Гъащ1э зыт анэ» (8 класс) кабардинская литература

Презентация на тему:

Мурадхэр 1. Анэм ц1ыху гъащ1эм щи1э мыхьэнэр еджак1уэхэм нэхъри къагурыгъэ1уэн. 2. Ц1ык1ухэм я бзэм зегъэужъын. 3.Сабийхэм хьэл дахэ , нэмыс , гущ1эгъу яхэлъу гъэсэн.

Презентация на тему: «Гъащ1э зыт анэ» (8 класс) кабардинская литература

Презентация на тему:

Урокым и эпиграфыр Зи псэр щабэ , • Зи гур хуабэ , • Зи лъэр быдэ , • Зи 1эр лъэщ , • Щ1ы уи ф1эщ : • Анэ дыщэ ! • Сэ сымыщ1э • Щы1эу пхуэдэ уэ нэгъуэщ1. •

Презентация на тему: «Гъащ1э зыт анэ» (8 класс) кабардинская литература

Презентация на тему:

Узэщхььыр нурырщ, къэсщ1ащ узэщхьыр Гъащ1эрщ узэщхьыр­ ар къэсхутащ. Къысф1ызэщ1онэ гущ1эм и маф1эр, Къызэщ1охъае псэ гумэщ1ар. Гъащ1э зыт анэ! Гъащ1э зыт анэ….

hello_html_m5a9b7b44.jpg

Бзэм и махуэм ирихьэл1эу Хьэтуей къуажэм курыт еджап1эм _____ классым щек1уэк1а пшыхь.

hello_html_m5a9b7b44.jpg

— Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу

хъуным, хъумэным елэжьын.

— Я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Пшыхьым и ек1уэк1ык1эр

  1. Хэзыщэ псалъэмакъ. (Тхьэгъэлэдж Светэ и макъамэ «Бзэрабзэ си

хъыбар псоми фызогъащ1э.

Нобэ махуэ лъап1эщ,

Школым ящ1 унафэ:

Ди еджап1эм щ1эсхэр дэ къыдогъэблагъэ.

Нобэ икъук1э махуэ лъап1эу.

Дэ мы школым дашэ хьэщ1эу.

Езыгъ.: Фыкъеблагъэ, Фыкъеблагъэ!

— Фи махуэ ф1ыуэ, нобэ кърихьэл1а псоми! Нобэрей ди пшыхьыр зытеухуар ди бзэ дахэ, ди бзэ 1эф1, ди бзэ шэрыуэращ.

Адыгэм и хабзэщ сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1идзэуи, дэри а хабзэм тету щ1эддзэнщ.

— Ат1э дапщэщ къежьауэ п1эрэ а хабзэ дахэр?

— Хъуэхъур ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадок1уэк1. Хъуэхъуэныр хабзэ дахэщ. Абы пыщ1ар угъурлыгъэрэ акъылыф1агъэрэщ. И ныбжьымрэ и акъылымрэ теухуауэ адыгэхэм мыхъуэхъуэф яхэткъым.

— Адыгэм хьэщ1э и1эмэ, япэ хъуэхъур абы тражы1ыхьу щытщи, девгъэхъуэхъут дэри ди хьэщ1эхэм.

-Ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Узыншагъэ быдэ фи1эну,

Фи лъэр здихьам насып здифхьэну.

Нобэ къэфк1уа гъуэгуанэм

Нэхъ гугъехь фымылъагъуу

Куэдрэ ц1ыхухэр вгъэгуф1эу

Усэ ц1ык1ухэр къоджэ

Зджащ нэмыцэр, зэи

Урысыбзэр хъуащ си 1эщэ лъэщ

Ауэ ф1ыуэ слъагъуу адыгэбзэ макъым

И дахагък1э зыри пэмылъэщ

Налкъут щыгъэу ар къызэролъэлъыр.

Жэнэт бзууэ къо1ущащэр зэм…

Си лъэпкъ уардэ – Нобэ ф1ыуэ слъытэм

И къежьап1эр ди уахътыншэ бзэрщ.

Езыгъ: Дэ си1эщ анэдэлъхубзэ дахэ, шэрыуэ, купщ1аф1э.Ар адыгэбзэщ. Ди адыгэбзэр бзэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ.

— Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.

Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!

Езыгъ : Упсэу уэ куэдрэ!

Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр.

Упсэу уэ куэдрэ!

Уэ уди1эщ шабзэу

Упсэумэ, ди лъэпкъыр псэунщ.

(Мэзым и макъ къо1у)

Езыгъ.: Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, зэрагъэузэщ1у щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.

Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ. Ауэ а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ. Ахэр ди адыгэ 1уэры1уатэм хыхьэ псалъэжьхэмрэ, жы1эгъуэхэмрэщ . Псалъэжьхэм лъэпкъым и гупсысэк1эр, и дуней еплъык1эр л1эщ1ыгъуэк1э щызэхуэхьэсащ. Псалъэжьхэр нобэми ди культурэм, ди гъащ1эм хэпщауэ, нэхъыщ1эр ягъэ1ущу, нэхъыжьыр яущийуэ щытщ. Дэри нобэ абы гъунэгъу зыхуэтщ1ынщ. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди еджак1уэ ц1ык1ухэр. (сабийхэм псынщ1эрыпсалъэ, псалъэжьхэр жа1э)

Ц1ык1ухэм псалъэжьхэр жа1э

— Бзэр джатэм нэхърэ нэхъ жанщ

— Адыгэ хабзэр адэ щ1эинщ

— Адыгагъэр – нэмысщ, нэмысыр – насыпщ.

— Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ

— Уи адэ и щ1ап1э гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.

— Адыгагъэ мыщ1э адыгэбзэ щ1экуъщ.

— Адыгагъэр къалэнщ, армыхъумэ 1уэхутхьэбзэкъым.

— Еблагъэ зи бэм и бын мэжал1экъым

— Псэм ф1э1эф1ыр, нэм ф1эдахэщ

— Бзэгур шэм нэхърэ нэхъ жэрщ

— 1ущыр щэ мэчэнджащэ

— Акъыл к1эщ1ыр бзэгу к1ыхьщ

— Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэныркъым.

— Пшынауэр бгъунлъэм, лъэпкъыр мэук1ытэ.

Ди анэбзэу-ди адыгэбзэр ф1ыуэ зэрытлъагъур, зэрыдгъэшэрыуэр къыджезы1энур псынщ1эрыпсалъэхэрщ. Псынщ1эрыпсалъэхэр жы1эгъуей щхьэк1э, бзэр къута хъунымк1э сэбэпышхуэщ, щ1эныгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм я къихып1эщ. Девгъээда1уэт – т1э абыхэм.

— Жьэгум дэлъ яжьэ жьэражьэм л1ыжь жьак1эхум кхъужь мыхъу пэрихъумащ

— Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.

— Пыжь пызу пыту щыту жыг.

— Щак1уэ щ1алэм щ1ак1уэ щ1агъым щ1акхъуэ ныкъуэ щ1элъу щ1ихри щ1эк1ыжащ.

— Щ1алэ щ1акъуэр щ1ыунэм щ1ыхьэри щ1ак1уэ щ1агъым щ1элъ щ1акъуэ ныкъуэр щ1ихри ещ1экъуауэурэ щ1эк1ыжащ.

— Гъук1эр бгъук1э къалъэри пк1элъейм дэлъеижащ

— Мыщэр пэщащэурэ мащэм ищэтащ

Езыгъ.: 1уэры1уатэм и ф1ып1эщ къуажэхьхэри. Ахэр зэгъэк1уауэ, шэрыуэу, зэгъэщ1эгъуаф1эу гъэпсащ. Къуажэхьхэм къуагъащ1э лъэпкъым и акъылымрэ и гулъытэмрэ здынэсыр. Ижь-ижьыж лъандэрэ ц1ыхухэм пщыхьэщхьэрэк1э лэжьыгъэ нэужьым зыщагъэпсэхук1э къащ1эу щытащ а къуажэхьхэр. Ат1э къэфщ1эфыну п1эрэ фэри ахэр. Девгъэплъыт, ди хьэщ1э лъап1эхэ.

— Сэ сыхуейт зыхуэзгъэзэну ди хьэщ1эхэм. Класс къэсыхук1э ц1ыху т1урыт1 фыкъыдогъэблагъэ ди сценэм. Дызэпеуэнщ класск1эрэ, тек1уэм саугъэт къелэжь.

Феплъыт мы къуажэхьхэр къыфхуэщ1эмэ:

  1. Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. ( Набдзэ)
  2. Зэкъуэшитху док1уейри бырт1ым ц1ык1у къап1ыт1 . ( 1эпхъуамбитху, пэ)
  3. Дзэ уз зымыщ1э, дзэ куэд зы1ут. ( Пхъэх)
  4. Зи щхьэр матэ, зи к1эр топ. ( Аслъэн)
  5. Хьэуазэ и къуэ щ1ыбыбгъуэ. ( Щ1акхъуэ)
  6. Нэ ц1ык1у, пэ ц1ык1у, тэн ц1ык1у зыщыгъ. ( Дзыгъуэ)
  7. Вакъэ лъапэ к1ыхьу мэз щ1ыхьэрей. ( 1эжьэ)
  8. Щ1ым и 1эф1ыр къыщ1эзыш, шэм и хужьыр къызэрыж, жылэр зыгъэунэ, быныр къэзыгъатхъэ. ( Нартыху)
  9. Банэ топу зи пэр т1ей (цыжьбанэ)
  10. Зи пэр папц1э, зи к1эр гъуанэ (мастэ)
  11. К1уэ пэтми бжьиз зымык1у (гущэ)
  12. Вагъуит1 яку 1уащхьэ (пэ)
  13. Ди гуэн ц1ык1у лы изщ (1эпхъуалъэ)

— Езыгъ : Фыпсэу, хъарзынэу фыкъыздэлэжьащ. Ик1и т1эк1у зыдывгъэпсэху. Абык1э дэ къыддэ1эпыкъунщ ди пэщ1эдзэ классым щеджэ ди еджак1уэ ц1ык1ухэм я къафэр. Къедывгъэблагъэ!

  • Хэт, ц1ык1ухэ, фэ фщыщу къебжэк1ым хуэ1эзэр, хэт и жьэнахуагъэм дык1элъигъэплъын?

Т1ум къебжэк1 жа1э:

  • Си къаз пльэгъуа? — Вындыр-щэ?
  • Слъэгъуащ. — Жыгым пысщ.
  • Дэнэ к1уа? — Жыгыр-щэ?
  • Абгъуэм исщ. — Уэщым иреупщ1э.
  • Сыт къиук1эц1? — Уэщыр-щ1э?
  • Джэдык1э. — Пщ1ащэм хэлъщ.
  • Хэт ишх? — Пщ1ащэр-щэ?
  • Мэлыхъуэм. — Лыгъэм ес.
  • Сыт къыдит? — Лыгъэр-щэ?
  • Хъурыфэ. — Псым егъэунк1ыф1.
  • Хэт игъэтэдж? — Псыр-щэ?
  • Тэджырей. — Хьэм иреф.
  • Хэт ибз? — Хьэр-щэ?
  • Бзэрей. — Л1ым щ1ыгъущ.
  • Хэт ид? — Л1ыр-щэ?
  • Дэрей. — Мэкъу йоуэ.
  • Хэт щит1агъэ? — Мэкъур-щэ?
  • Уи шыпхъум. — Шхалъэм дэлъщ.
  • Дэнэ ук1уэ? — Шхалъэр-щэ?
  • Хьэщ1ап1э. — Жэмыр бгъэдэтщ.
  • Сыт къраугъэшх? — Жэмыр-щэ?
  • Щыхь куц1рэ фо — П1ап1у къехь.
  • Си 1ыхьэр-щэ? — Джэдум иреф.
  • Гъуанэм илъщ. — Джэдур-щэ?
  • Илъыжкъым. — Гъуанэм исщ.
  • Дэнэ к1уа? — Гъуанэр-щэ?
  • Вындым ишхащ. — Уэ уисыжщ.
  • Дунейм тетым сыт нэхъ дахэ?
  • -Адыгэ хъыджэбзырщ.
  • -Абы нэхъ дахэжыр сыт?
  • -Адыгэшу къабзэрщ.
  • -Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?
  • -АдыгэлI губзыгъэращ.
  • -Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
  • -И бзэрщ- адыгэбзэрщ.

Езыгъ: Адыгагъэр дэни къыщыхощыр, ди адыгэ уэрэдхэми, ди усак1уэ, тхак1уэ 1эзэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэми. Девгъэда1уэт-т1э абыхэм.

(ц1ык1ухэр усэ къоджэ)

Адыгэбзэ – си анэбзэ

Си лъэпкъым и псэр

Сэри ди Тхьэшхуэм къыс1урилъхьащ.

А бзэм нэхъ лъап1э

Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм

Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,

И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.

Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,

Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?

Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат

Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,

Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.

Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,

Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.

Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи

Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.

Езыгъ: Адэк1э ди пшыхьым уэрэдк1э къыпащэнщ ди езанэ классым щ1эс еджак1уэ ц1ык1ухэм.

Езыгъ: Ди пшыхьым и пэм деж зэрыжыт1ащи, адыгэм и сыт хуэдэ 1уэхури хъуэхъук1э къыщ1едзэ,хъуэхъук1и еух. Дэри а хабзэм дытету дыхуейт ди пшыхьым ик1эм деж ди адыгэ лъэпкъым дынывэхъуэхъуну.

(ц1ык1ухэм хъуэхъу жа1э)

Ди гур хуабэ къысхуэфщ1ащ,

Псалъэ дахи зэхэтхащ,

Бзэми дэ зедгъэужьащ,

Ныбжьэгъу куэди къэдгъуэтащ.

Саугъэту дэ хъуэхъу дахи нывжет1ыну дыхуежьащ.

Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,

ЩIым и лъащIэр дитIысыпIэу,

Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,

Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,

Дызытеувэр щIы фIыцIэ щабэу,

Адыгэ Хабзэр ди щIэблэм едгъащIэу,

Шыгъу пIастэм зыщыдмыгъащIэу,

ФIы щIэным дыхуэпIащIэу,

Нэщхъеягъуэхэр ди мащIэу,

Адыгэ цIыхухэр щэджащэу,

Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,

Жьы угъурлыхэр къытхуепщэу,

Ди Iэнэм тетыр тхъущIэжу,

Ди тхыдэ телъыджэр тщIэжу,

Ддэр цIыхугъэрэ напэу,

Адыгэ Хэкум и Iуэхур тфIэнэхъапэу,

ЗэгурыIуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу

Ди псыежэххэм я щIагъыр мывэкIэщхъыу,

Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу.

Езыгъ : Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!

Бзэрабзэ си бзэу адыгэбзэ!

Узыншэу, ди щIэблэ Iумахуэ!

Еф1ак1уэ, гъагъэ адэжь лъапсэ!

Ет1энэгъэ ф1ык1э, си адыгэ махуэ!

Читайте также:

      

  • Их именами названы улицы сочинение алтайский край
  •   

  • Сочинение на тему бесчеловечность карлик
  •   

  • Сочинение по рассказу кавказ бунина
  •   

  • Сочинение моя будущая профессия туризм
  •   

  • Сочинение что я думаю о войне

«Анэ,уэ пхуэдэ

теткъым дунейм!»

Мурадыр:

  1. Анэхэм теухуауэ адыгэ усак1уэхэм ятха усэхэм
    щыгъуазэ щ1ын.

  2. Усэхэм анэм и1э пщ1эр, нэмысыр, гуапагъэр,
    дахагъэр, гу щабагъэр къызэрыщыгъэлъэгъуам,
    езы усак1уэхэм ф1ы лъагъуныгъэк1э анэхэм
    зэрыхуэусэм к1элъыгъэплъын..

  3. Удихьэхыу, гум дыхьэу къеджэфу егъэсэн.

  1. Анэхэмрэ бынхэмрэ я зэхущытык1эр мы усэхэм
    къызэрыщагъэлъэгъуам тегъэпсэлъыхьурэ
    усэхэр зэпкърегъэхын, я бзэм зегъэужьын, я
    зэхэщ1ык1ым хэгъэхъуэн.

5.Анэхэм хуа1э щытык1эм еплъык1эщ1э,
бгъэдыхьэк1эщ1э егъэгъуэтьн. Пщ1э хуащ1у,
къыхуащ1эр къагуры1уэрэ анэ нэмысыр
яхъумэжыфу сэнымк1э лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.

Фыкъытхуеблагъэ ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Ф1эхъус апщийхэ, ди лъэпкъэгъу лъап1эхэу ди псэм и щ1асэхэ!

Лъэпкъым и тыгъэ нэхъыф1хэм щыщу нобэми къэгъуэгурык1уэ адыгэ усыгъэхэр, хъыбарыжьхэр, хъуэхъухэр тыгъэ фхудощ1.

Адыгэм и насыпым ф1ык1э зыкъыдигъэзэну,

Лъэпкъ хабзэхэм утыкур яубыдыжыну,

Анэдэлъхубзэ дахэр мыувы1эу бзэрэбзэну.

Щ1эблъэр ф1ымрэ гуапэмрэ хуэушэу,

Ипэк1э плъэуэ псэуну дыщыгугъыу нобэрей ди зэ1ущ1эр къызэ1удох,

Нэхъыф1ыр къык1элъык1уэну фыдогъэгугъэ!

Егъ. Дэ нобэ фэдгъэлъэгъунущ зы классщ1ыб лэжьыгъэ, ар зытеухуари ди анэ лъап1эхэрщ. Абы и гугъу тщ1ын хуей щ1эхъуам и щхьэусыгъуэри мыращ: Анэмрэ бынымрэ я зэхуакум дэлъын хуей хуабагъэр, пщ1эр, нэмысыр ди зэманым т1эк1у нэхъ къелъэхъшэхауэ зэрыщытырщ. А ныкъусэныгъэрхэр тлъэгъужын, къэмыгъэхъун папщ1эщ псори зыхуэдунэт1ар.

Ди ехъул1эныгъэхэри флъэгъунщ, ди ныкъусэныгъэхэри къыджеф1энщ.

Егъ. Анэ, сыту псалъэшхуэ ар. Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эр егъэп1ейтей. Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ, ауэ жи1акъым ар пасэрейм. А псалъэхэм урагъэгупсысыж 1эщабэ-1ущабэу, хуэсакъыу анэхэр хъумэн зэрыхуейр.

Едж. Анэр дунейм и дыгъэщ.

Анэр дунейм и мазэщ.

Анэр дунейм и жылэщ.

Егъ. А псалъэхэм купщ1эшхуэ хэлъщ, арауи жып1э хъунущ ц1ыху гъащ1эр пызыщэр.

Девгъэгупсысыжыт псори, зэгуэр и анэ хэт и жагъуэ ищ1ами хэт игу хигъэщ1ами. Анэхэм я гур махэщ, анэхэм я гур п1ащ1эщ. Ахэм я макъ унэм щ1эмытмэ абы нэхърэ нэхъ 1ей сыт щы1э мы дунейм. Девгъэда1уэт анэм и макъыр къызэрытщыхъум.

Едж. «Анэм и макъыр».

Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэк1э,

Къысф1ощ1 си Хэкур къэзгъуэтыжа.

Жызмы1эфыни анэдэлъхубзэк1э

Къысщохъур зыри къэмынэжа.

Анэм и макъыр щысхуэбзэрабзэк1э,

Бзухэм я усэр сф1ощ1 ефэгъуэк1.

Гъащ1э, зыгуэрк1э укъысхуэупсэмэ,

Анэм и макъым сыпомыгъэк1. .

Анэм и макъыр псэм дощ1эращ1э,

Анэм и псалъэм гур егъэин.

Анэм и макъым тынш ещ1 си гъащ1эр

Къару къысхелъхьэ, сещ1ыр нэхъ ин.

Егъ. Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эм зыкъыдегъазэ. Абы быным хуи1э лъагъуныгъэм к1э и1экъым, сытым дежи быныр балигъ хъуами, ар сабийщ анэм дежк1э, и гур хуэмыгъуэщ жэщи махуи, мы дуней псом тету п1эрэ адэ-анэм хуэдэу псэ къабзэ гу хьэлэлрэ зи1э нэгъуэщ1 ц1ыху! Ялъэк1амэ, быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым. Дэк1амэ, къыдэмыхьэжын къаф1ощ1ыр, жьы къепщамэ, ирихьэжьэнк1э шынэу мэпсэу. Нэгъуэщ1у жып1эмэ, анэм и гур сытым дежи быным и гъусэщ, аращ анэр нэм щ1ыхуагъадэри, абы и щыхьэтщ мы усэр.

Едж. Гъащ1эр ехь

И быным тегужьеик1ауэ:

Жьыр къепщамэ

Ф1ощ1 ирихьэжьэн.

Къытехъуам уэлбанэ,

Унэм ар щ1эк1ауэ,

Псыдзэм ихьын ф1эщ1у

Ныпежьэнщ.

Химыгъэхьэ жэщым,

Химыгъэхьэ щ1ы1эм-

Ф1ощ1ыр псоми

Зыгуэр къращ1эн…

Дыгъэ закъуэрщ анэм

Дзыхь зыхуищ1у щы1эр

А т1ум зэщхьщи аращ

Я хьэл-щэн.

Егъ. Анэ лъагъуныгъэм к1э имы1э, пэжыр жып1эм куэд 1ей ар хуэмей, илъагъу закъуэу щытмэ бынхэм я гуф1эгъуэ, къыхуащ1эну псори къыхуащ1ащ « Анэр бынхэм сытк1э ящыгугърэ?»

Анэр быным сытк1э ящыгугърэ?

Жыс1энщ пэжи куэд 1ей ар хуэмей

Илъагъу закъуэу щытмэ бын гуф1эгъуэ,

Къыщохъу абы дуней ф1ыгъуэр ей.

Я нэщ1эбжьэ бынхэм имылъагъумэ

Плъыжь дэмыхъумэ псэк1э къигъэщ1ам

И жьы хъугъуэм ф1ыуэ т1эк1у къалъагъумэ

Къыхуащ1ыну псори къыхуащ1ащ.

Куэд хуей анэр?

И пхъум и 1эф1ыгъэ

Къуэ гулъытэ, 1эф1агъ т1эк1ущ зыхуейр.

Дунейм щехыж махуэм къуэм и л1ыгъэ,

Пхъум и гъыбзэ и нэпс – ар къудейщ.

Егъ. Емызэшыж ди анэхэр нэху мыщу къотэдж. Унагъуэм 1уэхуу илъыр ящ1эр, ауэ дэ къытщохъур абыхэм я къарум хэмыщ1у. Дахущывгъэсакъыт псори анэхэм, дащывгъэсхьыт ахэм я къарум.

Укъотэджри к1ыф1зэхэту,

Къыбошыр жэмыр,

Бжэ1упэр уопхъэнк1.

Ужьыщ1эу, уеблэм,

Пхъэ щыпкъути щы1эу

Ет1ысэхыншэу

Махуэ псор йохьэк1.

Пщыхьэщхьэ хъуами

1уэху щы1эр мащ1э?

Уи 1ит1 мыувы1эу

Сыхелъафэр жейм.

Си шхы1эн к1апэр

Сакъыу схущ1эбупщ1эу,

Сыкъызэщоур

Жэщ ныкъуэм деж.

Зыщыбгъэпсэхур, мамэ,

Сытым деж?

Егъ. Гъащ1э щыхъук1э, 1эджэми дыхуозэ, 1эджи щыдолъагъу, щызэхыдох, псалъэ гуапи псалъэ жагъуи. Щы1эу п1эрэ адэ-анэр 1эф1у зымылъагъу е абыхэм я гумм ежэл1эн псалъэ жагъуэ езыпжсыфын бын? ! Хьэуэ, щы1эн хуейкъым апхуэдэ! Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс щ1ыжа1эри аращ. Демыгупсысу жыт1а псалъэ жагъуэр анэм и гум зэреуэр,ар абы зэрызэхищ1эр къыдегъащ1э мы усэм.

«Псалъэ жагъуэ».

Зэгуэрым семыгупсысу

Зы псалъэ къызжьэдэк1ат

Ар мамэ игущ1эм нэсри

И нэпсхэр къыщ1игъэк1ат.

К1иякъым мамэ схуэшхыдэу

Зы псалъи къызжимы1ат

И 1элъэщ1 к1апэм щэху дыдэу

И нэпсхэр к1уэц1игъэпщк1уат.

А нап1эзып1эм си псалъэм

Сык1элъыпхъуэнут слъэк1ам,

Ауэ шэм хуэдэкъэ псалъэр-

Къимыгъэзэж п1эщ1эк1ам.

Сымыщ1эу сщ1энур, сыхэплъэу

Сэ махуэ псор есхьэк1ат

Мамэ и жагъуэ хъун псалъэ

Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1а?

Сэ шыгъушыпсыт1эм сыхэлъу

Жэщ к1ыхьри езгъэк1уэк1ат

Зи псэм щыщ хъуауэ къысхэлъым

Сэ дауэ сегуэуэк1а?

Анэгухэм нэхърэ нэхъ п1ащ1э,

Нэхъ махэ умыгъуэтын,

Зы мыхьэнэншэу къыпф1эщ1ри

Яхуохъур ахэм удын.

Дахущывгъэт нэхъ гумащ1эу

Анэхэм дахуэвгъэсакъ,

Сэ псалъэ жагъуэ жыс1ар зэ

Зезгъэ1этамэ си макъ

Тенауэ, къупщхьэ къысф1эщ1у,

Иджыри телъщ си тэмакъ

Вед: Анэр сабийм и чэнджэщак1уэщ, гъащ1э гъуэгу пэжым и гъэлъэгъуак1уэщ.

Си псэм хуэдэу сэ си анэ,

Уэр нэхъыф1 дунейм темыт.

Псынэ дахэу уи псэр къабзэщ

Уи гур дыгъэу къысщхьэщытщ.

Щхьэфэм уи 1эр къыдыболъэ,

Къызжыбо1эр псалъэ 1эф1.

Тхьэм уи гъащ1эу къэбгъэщ1ынур

Насып защ1эу пхуиугъэпс.

Сэ сода1уэ уи чэнджэщым

Узохьэл1э си щэху куэд.

Гук1э жыс1эу махуи жэщи

Пхузоусыр сэ уэрэд.

Егъ. Анэм и быным лей къытримыгъэхьэн, ихъумэн папщ1э маф1э лыгъэм хыхьэфынущ, хуей хъуми и псэр итыфынущ. Абы быным хуимыщ1эн ф1ыгъуэ телъкъым мы дунейшхуэм, ауэ ахэр зэхэзмыщ1ык1 бынхэри щыкуэдщ мы гъащ1эм, абы и щыхьэтщ иджыпсту фэдгъэлъагъуну пычыгъуэр.

Сценкэ гъэлъэгъуэн.

Авт. И щхьэгъусэр дунейм ехыжауэ зы фызабэ гуэр псэурт. Абы зы къуэ ц1ык1у закъуэ ф1 эк1 и1этэкъым. Арат абы мы дуней дахэшхуэм гурыф1ыгъуэу щилъагъуну и1эххэри! Зы гъэмахуэ пщыхьэщхьэ гуэрым мыпхуэдэу къэхъуащ. Анэр и къуэ закъуэм зыкъомрэ бгъэдэта нэужь:

Анэ: Иджы, си дуней нэху, дыгъэгъуэлъыж! Мы дуней нэхушхуэм алыхьым гу щыуигъахуэ!

Теуэ макъ.

Псэхэх: Уи хъуэпсап1эр къохъул1энукъым , анэ насыпыншэ!

Анэ: Ухэт уэ?

Псэхэх: Сэ сы-Псэхэхщ! – Уи къуэ закъуэм и псэр хэсхыну сыкъэк1уащ.

Анэ: Кхъы1э, псэхэх, си нит1ыр ищ1и хьэфизу дунейм сыкъытенэ! Си тхьэк1умит1ыр с1ыхи дэгу сагъроуэ дунейм сытеут1ыпщхьэж! Ауэ си къуэ закъуэм и псэр хыумых! Щхьэщэ пхузощ1- гущ1эгъу къысхуэщ1!

Псэхэх: Хьэуэ. Ар зэрыпхуэсщ1эн ф1ыгъуэ щы1экъым.

Анэ: Кхъы1э, псэхэх, иджыри зы тхьэмахуэ закъуэ п1алъэу къызэтыж. Зы тхьэмахуэ закъуэк1э си щ1алэ ц1ык1ур сыгъэлъэгъуж.

Псэхэх: Ирехъу апхуэдэу, анэ насыпыншэ!

Анэ: Нак1уэ, си щ1алэ, мы бгъуэнщ1агъыжьым дыщ1эт1ысхьэмэ,псэхэх угъурсызым ды1эщ1эк1ауэ къэплъытэ хъунущ.

Псэхэх: Ущоуэ, анэ насыпыншэ!

Анэ: Ухэт уэ?

Псэхэх: Сэ сы-псэхэхщ! Уэста п1алъэр къэсати, уи щ1алэ закъуэм и псэр хэсхыну сыкъэк1уащ.

Анэ: Кхъы1э, Псэхэх, хьэфизи сыщ1, дэгуи сыщ1, бзагуи сыщ1! А псом нэмыщ1к1э, япэ щ1ык1э сэ си псэр хэх, ауэ си щ1алэ ц1ык1у закъуэм и псэр хэпхауэ сумыгъэлъагъу!

Псэхэх: Хьэуэ. Ар зэрыпхуэсщ1эн ф1ыгъуэ щы1экъым.

Анэ: Кхъы1э, Псэхэх, иджыри зы тхьэмахуэ закъуэ п1алъэу къызэтыж. Зы тхьэмахуэ закъуэ си щ1алэ ц1ык1ур сыгъэлъэгъуж.

Псэхэх: Ирехъу апхуэдэу, анэ насыпыншэ!

Анэ: Нак1уэ, си щ1алэ, тэхъуанэр быдэу гъэжащ, абы жьы дэхуп1и, псы дыхьэп1и, нэху дэдзып1и и1экъым, абы дисмэ псэхэх угъурсызым ды1эщ1эк1ауэ къэплъытэ хъунущ!

Псэхэх: Ущоуэ, анэ насыпыншэ!

Анэ: Ухэт уэ?

Псэхэх: Сэ сы-псэхэхщ!Ещанэу Уэста п1алъэр къэсати, уи щ1алэ закъуэм и псэр хэсхыну сыкъэк1уащ.

Анэ: Кхъы1э псэхэх, хьэфизи сыщ1, бзагуи сыщ1! А псом нэмыщ1к1э, япэ щ1ык1э сэ си псэр хэх, ауэ си щ1алэ ц1ык1у закъуэм и псэр хэпхауэ сумыгъэлъагъу!

Псэхэх: Еуей. Сыту 1ейщэу дзыхэ сыкъэпщ1а, анэ насыпыншэ, уэ к1уэж, уи щ1алэм сэ зы лъэ1у хузи1эщи ар жес1энущ.

Псэхэх: Иджы си щ1алэ уэ къэда1уэ, уи анэ тхьэмыщк1эм и ф1ыгъэк1э уи псэр хэсхыну сэ къэзгъэнащ, ауэ зы лъэ1у пхузи1эщ, к1уэжи уи анэм и гур къысхуэхь. Махуищыр п1алъэу сэ узотыр.

Авт.: Щ1алэр и шым мэшэсыжыр. И унэм щ1алэм егъэзэж. И 1эгур гушхуэм къегъэнэху. Абдежым ар мэлъэпэрапэ, анэгури щэхуу къопсэлъапэ: «игъэуза си щ1алэ нэху?!»

Анэм быныр зэрилъагъур

Псы ежэхым и к1ыхьагъщ,

Быным анэр зэрилъагъур

Телъ лъэмыжым и к1ыхьагъырщ.

Егъ. Дымыщ1эххэу гъащ1эр мак1уэ, анэхэр нэхъ т1орысэ мэхъу, я нэк1ухэр золъэ, я щхьэцхэм тхъугъэ хедзэ.

Едж.:

Ирожэ гъуэгум п1ащ1эу ди машинэр

Си анэр сщ1ыгъуу док1уэр къалэ жыжьэ

Блолъэтыр жыгхэр, бгыхэр къыдргъанэ

Щ1э щ1эткъым тлъагъухэм къиднэхэм ди ужьым

Машинэм зэми дызэридзэу дехьыр

Хъыринэ дисым ещхьу зэми йощ1э

Иригъэша хъунт мы гъуэгуанэ к1ыхьым

Зеущэхур мамэ, сэ зыкъызегъэщ1ри.

Ар жейм здыхэтым хэщэтык1ырт, къащтэрт,

Абы сэ сеплъырт седэхащ1эу псэк1э:

Си анэ, жей уэ, жей укъыхэмыщту,

Иджыри и1эщ дынэсыным 1эджэ.

Абдежым, сымыщ1эххэу, гу лъызотэ

И щхьэцхэр си анэм зэрытхъуам

И нэк1ум телъ зэлъахэм си нит1ыр

Жы1эмыда1уэу зэуэ сф1ытоплъызэ.

Ар дауэ, гумащ1агъэр къызэлыжу

Сф1эщ1ыжу махуэ къэск1э сыбдэщ1ыгъути

Иджы сыноплъри си гум зефыщ1ыжыр

Пхэлъыж щымы1э уипхъэхащ уэ жьыгъэм.

Апхуэдэу щхьэ ухуа мы дунеижьыр

Гулъытэр къинэу сыт щыгъуи иужьым?

Ячыху лъэбакъуэ хъуурэ тпэ1эщ1э

Хохьэжыр пшэхум ди анэхэр дымыщ1эу.

Ирожэ гъуэгум п1ащ1эу ди машинэр

Сыдэплъу абдежым си нэпсхэр къысф1ыщ1ок1ыр

Сыкъигъэнауэ къызбгъурыс си анэр

Зыщ1ып1э мак1уэ, мак1уэ сэ с1эщ1эк1ыу.

Вед: Гъащ1э зи1эм уахътыи и1эщ, жыжьэ дыплъэурэ ди псэм и гъунэгъу ц1ыхухэр т1эщ1ок1. гъэщ1эгъуэныракъэ, мылъку гуэр тф1эк1уэдамэ, ди гум щ1охьэ, ауэ зэи дегупсысыркъым гъащ1эр зэрызэхэлъ махуэхэр къамыгъэзэжыну зэрыт1эщ1эк1ым. Дэк1уеигъуэ зи1эм ехыжыгъуи къыпэщылъщ, ауэ дэ абы и чэзум дегупсысыфыркъым. Мис апхуэдэурэ зи псалъэхэр хьэуа тхуэхъуа ди анэхэр т1эщ1ок1.

Анэу дунейм ехыжахэм мы уэрэдыр тыгъэ яхудощ1.

Уэрэд къоуэ — Нэхущ Чэрим «си Анэ»

Вед: Ц1ыхур гузэвэгъуэ хэхуэу 1эмалыншэ дыдэу къыщынэм деж, и гур япэ зыхуэжэр анэрщ… И псэм къилъыхъуэр аращ… Фэ гу лъывмытэжагъэнк1и мэхъу, ауэ 1уэхур и нэм щынэсым, фигухэр сэ къызэджащ. Фи псэхэм сыкъышащ …. Анэпсэхэр зэи л1эркъым. Ар бынхэм я гущ1эм щопсэу. Нэрымылъагъуу. Къатемыплъэкъук1ыу.Я ф1ым иригуф1эрэ я 1ейм иригумащ1эу….

Едж.: «Мамэ».

Сыту пасэу жьы ухъуа уэ мамэ,

Сыту пасэу сэ балигъ сыхъуа

Жэщи махуи иджы 1э бдэслъами,

Схуэщ1ыжын сэ щ1алэ уи щхьэ тхъуар?

Сот1ысэх уи гъащ1эм сегупсысуи

Хъуам уи теплъэ къызетыр гухэщ1.

Зэрешам уэ апхуэдизу уи псэр

Си зэрану куэд хэлъу къысф1ощ1.

Дунейм теткъым хунэсауэ анэм

Хуищ1эжыну игу илъ псор зы бын

Ауэ мырщ сэ жыс1эр сигу ит1ани:

Си гулъытэр пасэу уэ пщ1ыгъуамэ,

Щ1эх мыпхуэдэу мамэ умыхъунт.

А гупсысэм сэ иджы сыкъес,

Сыкъес сыкъэсащи уи деж к1асэу

Уэ уи гъащ1эр уохь иджы хэлъ-хэсу

Сэри уи п1э лъапэм мис сытесщ.

Схупыщэну махуэ, сщ1амэ уи гъащ1эм

Уэ си гъащ1эр щхьэузыхь пхуэсщ1ынт

Махуэ къэс иджы сыныпхуоп1ащ1э

Си нэ къик1ыу уэ сынып1уплъэн.

Егъ.: Быным щхьэк1э жэщ-махуэ имы1эу анэр гугъу йохь.

Едж.: Сэр папщ1э жеиншэу

Нэху куэдхэр уэ бгъэщт

Ц1э лейхэр бжыгъэншэу

Уахэдэу къысф1эпщт.

Уи макъыр сэ си псэт

Сигу хуабэ къысхуищ1т

Окопэм сыщисми

Зэхэсхыу къысф1эщ1т

Зауэшхуэм и гъуэгуу

Гъуэгу к1ыхьу сэ ск1уам

Слъэгъуакъым уи нэгум

Гуэк1уагъэк1э тек1уа

Уи нит1ым нэхъ гуапи

Слъэгъуакъым зым ей

Уи шхынхэм нэхъ 1эф1и

Ехакъым си джий

Уи 1ит1у си цейхэр

Зыдыжхэу щытам

Хуэдэ1э дунейм

Сэ сщ1эркъым тетау.

Едж..:

Джэдкъурт зи быным хуэсакъым нэхъей

Стетт сытым щыгъуи уи нэ1э

Бадзэ си нэк1ум тет1ысхьауэ сыжейм

Уи гумм псэхуп1э имы1эт

Ауэ гъатхэпэу щыгъагъэм дунейр

Зыщумыгъэнщ1у гуф1эгъуэм

Хъуауэ дахагъэр уэ уи гумм пык1ыгъуей

Унк1ыф1ыпащ уи нэ вагъуэр

Уи п1эк1э гъащ1эр сэ ф1ыуэ слъагъунщ

Нэзгъэсыжынщ уи 1уэху 1ыхьэр.

«Си псэк1э»уэ укъызэджэу щытам

Анэм и бынырщ и псэр.

Егъ.: Анэм теухуауэ тхыгъэм нэмыщ1и уэрэд куэди щы1эщ абыхэм папщ1э.

(Си анэ — уэрэд) Уэрэдыр къоуэ

  1. Къысхуэгуф1эт уэ си анэ

Мазэ нуру пыгуф1ык1

Ей си анэ уезэшамэ

Сэ уэрэдк1э пщхьэщысхынщ.

Ежьу: Ей си анэ, псэм и дамэ

Дамэу стетри уэ аращ

Си уэрэдым и макъамэм

Псэуэ хэслъхьэри уэ аращ

  1. Ущыгуф1эм деж си анэ

Си гур уэ къыпщогуф1ык1

Сыхэбгъэлъу щытми данэ

Уэ уи 1эпл1эр йохуэбэк1

Ежьу: Ей си анэ, псэм и дамэ

Дамэу стетри уэ аращ

Си уэрэдым и макъамэм

Псэуэ хэслъхьэри уэ аращ

  1. 1ейуэ щы1экъым зы ани

Я нэхъ дахэри аращ

Сахэдэжми сэ ит1ани

Къахэсхынури уэращ.

Ежьу: Ей си анэ, псэм и дамэ

Дамэу стетри уэ аращ

Си уэрэдым и макъамэм

Псэуэ хэслъхьэри уэ аращ

Егъ.: Иджыри къыздэсым зи гугъу тщ1а анэхэм, пхуэмы1уэтэн хуэдиз я ф1агъщ, ц1ыху псори фэк1э зэрызэмыщхьым хуэдэу анэ псоми я гур зэхуэдэкъым, щы1экъэ анэ зи гур мып1ейтей, къыхэмыщтык1, абыхэм папщ1эщ мы усэр.

Едж.:

Сэ ухэту щытми узмыц1ыху,

Ауэ сощ1э шэч къытезмыхьэхэу

Пщ1ам иужьк1э, уигу щ1эмыузыжу,

Пхуэмыфащэ пхужа1эну – ц1ыхущ.

Пхуэдэ гуэрхэм япэм я хъыбар

Зэхэсхати, сигу щ1ыхьащ жагъуащэу

Нывжес1эну иджы сигу илъу хъуар

Зэрыфхэтыр нэмыплъ къывэзгъащ1эу.

Хамэ унэм къыщ1эбна сабийр

Къыпк1элъыгът зэхэпхыу, зиук1ыжу,

И 1э ц1ык1ухэр гужьейуэ

Аф1эк1а и макъ къыщимык1ыжым.

Гъырт сабийр пф1эщ1ыу зэгуэуд

Сымаджэщыр щубгынэм уп1ащ1эу

Сабийншэм анэ гъащ1эр нэдщ,

Уц1ыхубзт, арат ар зэхыумыщ1эу?

Зэхэпх хъумэ сабийхэм я гъы макъ

Укъэск1энкъэ, гъыр ууей къыпф1эщ1у?

Е ц1ык1у джэгу ущрихьэл1эм Дей

Ублэк1ыну уигу зимыфыщ1ыжу?

Ухуэмейми зык1и си чэнджэщ

1эф1 щ1элъыжкъым уэ къыппэплъэ гъащ1эм

Ухуэп1ащ1эу къэблэгъэным жэщ

Епхьэк1ынщ ущ1ыгъуу узы1ущ1эм.

Хьэуэ, къэплъыхъуэжу уи насып

Щ1ым иджыри зыщыбгъэдахэну?

Зи сабийр зэгуэр зыщ1ам 1эщ1ыб, Семыхъуапсэ уэ къыдэпхьэхыыум.

Сщ1ырэ пэт сэ иджыпсту уи гугьу Къэк1ыжащ сигу си анэ гумащ1эр

Си анэ дыщэм сэ къысхурегьэгьу

Пщ1ыгъуу и ц1эр къызэрис1уэм папщ1э.

Къытхуэсакъыу ди анэхэм дап1ащ,

Щ1ы1и жьыбгъи къыдамыгъэуэк1ыу

Щымэжал1и езыхэр къэхъуащ

Шхын нэхъыф1хэр тхузэрагъэт1ылъэк1ыу

«Си псэ, си насып» — къытхужа1энт, Уэрыншауэ гъащ1э сэ симы1э»

Хьэуэ, бгъуэтыжынкъым уэ насып,

Ар иук1ыжащ зэгуэрым уи 1эм.

Уи сабийрщи и нэпс гъущыжынщ, Хыф1эбдзами ар зейншэ къабзэу

Зи1эм анэ иримыгъэхъуапсэу

Зыхуей хуэзэу Хэкум ип1ыжынщ.

Быну тетым я ц1эк1э дунейм

Анэу щы1эм ягу сыкъипсэлъык1ыу

Сэ узох нэлатым я нэхъ 1ейр Зэрысхузэф1эк1к1э узгъэик1эу.

Егъ.: Анэм теухуауэ зы тхыгъэ нэхъ мыхъуми зи 1эдакъэ къыщ1эмык1а

тхак1уэ щы1экъым жып1эми ущыуэну си гугьэкъым. Анэ псалъэр алыхь-талэм и тыгъэ нэхъыф1хэм щыщу жып1э хъунущ, арауи къыщ1эк1ынщ мыпхуэдэ псалъэжьхэри хъыбархэри щ1ыщы1эр:

Едж.: Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.

Едж.: Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ.

Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.

Анэм и быным хуищ1эр ф1эмащ1эщ.

Анэм къуипэсыр гунэсщ

Анэм къуитыр 1эф1щ.

Быныр нэм и хъуахуэщ.

Анэм и щапхъэр пхъум и бзыпхъэщ.

Анэнэп1сыр уэсым нэхърэ нэхъ щ1ы1эщ.

Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ.

Анэнэп1эсрэ гупк1э т1ысып1эрэ.

Сабийм адэ имы1эжмэ, зеиншэкъым, анэ имы1эжмэ, зеиншэщ.

Едж.: Зи анэ-адэр жьы хъуа нэужь еплъыжыну хуэмейхэм щхьэк1э сэ хъыбар

гуэрым седжащи сыхуейт къыжыс1эжыну. Зы ц1ыхубз гуэрым и гъащ1эр фызабэу зы къуэ ип1ат. Къуэр балигъ хъури, абы щхьэгъусэ къригъэшащ. Мыгувэу унагъуэм щ1алэ ц1ык1у ягъуэтащ. Зэманыр к1уэрт, къуэрылъху ц1ык1ур 1ыхьэ лейм ик1ауэ илъагъурт анэшхуэм, щ1алэ ц1ык1уми нанэ зэхилъхьэ щы1этэкъым

Ауэ зы махуэ гуэрым нысэр къыщ1ыхьэжауэ нанэ и хьэпшыпхэр
зэщ1икъуэрт, щхьэнтэ уэншэкухэр зэк1уэц1илъхьэрт. Къуэрылъху ц1ык1ум
1уэхур зы1утыр къыгурымы1уауэ къижыхьырт. Щимыгъэпсэухэм абы анэр
къыщ1эк1иери жи1ащ: «Нанэ жьы хъуахэр щап1ыж унэм» — зэришэр. Абы
щ1эк1ар къыщ1ыхьэжыху, щ1алэ ц1ык1ум щхьэнтэмрэ уэншэкумрэ
зэк1уэц1илъэфащ, уэншэкур т1ууэ зэпиупщ1ащ. Анэ п1ащ1эу къыщ1элъэдэжар къэу1эбжьауэ щ1эупщ1ащ: «Мыр сыт?» — сабийм жэуап къитащ: «Иныкъуэр ууейщ, мамэ, нанэ ещхьу жьы ухъуауэ ущысшэк1э уэри уэншэку ухуейщ» жи1ащ щ1алэ ц1ык1ум.

Егь.: Анэм и 1эм ищ1 псори щ1эщыгъуэщ, абыхэм я 1эхэм дыщэ къапощэщ. Ёдж.: 1. Жа1эр мамэ и 1эм

Дыщэ къыпыщэщу

Абы зыгуэр щищ1эм

Соплъ зыщызмыгъэнщ1ыу.

  1. Ар хэмыхьэм 1уэхум

Жа1эри хэмыщ1у

Щы1экъым зы закъуи

Ар зьпэмылъэщу.

  1. Мамэ дахэ, уи 1эм псори лъок1

Ахэм я щэбагъым ещхьщ уи 1эпл1эм

Мамэ дахэ, уи 1эм псори лъок1,

Ахэм я хуэбагъыр ещхыц у и нит1ым.

  1. Жа1эр мамэ и 1эм Дыщэ къыпыщэщу

Абы ещ1эр псори

И къалэн къыф1эщ1у.

5. Щыскъым ар 1уэху хъуамэ
Зэик] епэщэщу
Зэф1игъэщ1у ахэр

Езым еим щымыщу.

  1. Жа1эр мамэ и 1эм

Дыщэ къыпыщэщу,

Сак1элъоплъыр ахэм

Сэ защызмыгъэнщ1у.

7.Ауэ си ф1эщ хъуркъым,

Сэ абы зезгъапщэм,

Си 1э ц1ык1ухэр мамэ

И 1эхэм щымыщу.

Егъ.: Анэм и быныр балигъ хъуа нэужьк1эщ, ар тыншып1э щихуэр, ауэ абы щыгъуи абы и гур сабыркъым, зы мэскъалри и гум йожал1э.

Едж.:«Сн анэ»

1. Уэ тыншып1э ущихуапхъэщ нобэ,

Уэ тыншып1э щыбгъуэтын зэманщ, Пхузэф1эк1ыу зыри къэбгъэнакъым,

Уэ уи бынхэм тхуэблэжьыну 1уэху ин.

2.Дыхэпшащ гъащ1эм нэхъ гъуэгу 1ущк1э

Гугьуехь псори уи бгым ибгъэхуащ.

Хъунщ тхуэпщ1ар, зыгъэпсэху ди анэ,

У и къалэныр ек1уу бгъэзэщ1ащ.

  1. Ауэ мис, ит1ани усабыркъым,

Дысабийуэ къытк1элъывожыхь.

Нэхъ гугъуехь ихуэрщ узигьусэр,

Дэр щхьэк1э уи гум ину телъщ бэлыхь.

  1. Жи1эт, дауэ апхуэдизу л1ыгъэ Зэбгъэгъуэтыжыфу уи насып къихьа,

Дауи, пэжу къэплъхуа бынхэракъэ Насыпыф1эу гьащ1эр щ1епхьэк1ар.

Едж.: «Анэм и псалъэ»

Зи узыр сипкък1э зыхуэзгъэву,

Щыгу1эм гу сызыхуэхъун,

Уэращ сэ гъащ1эр схуэзыгъэф1ыр,

Си щ1алэу гу щысхуэху слъагъун, Ажалк1э си япэ уимыщ закъуи, Щымы1э уэ пхуэзмышэчын,

Си лъэныкъуэр пыбупщ1ами, Къэнамк1э 1эпл1э уэсшэк1ынщ.

Едж.: Куэдрэ тхурепсэу ди анэхэр, ди япэ куэдрэ тхьэм анэхэр иригъэт, яхуэтщ1ыфу анэхэм дэ гулъытэ нэс. Ди насыпщ ди анэхэр тхуэпсэумэ. Ди насыпщ, ди анэхэр дунеягък1и ахърэтк1и къытхуэаразымэ.

Едж.: «Анэм»

Анэм еп1 и быныр хуэсакъыпэу

Гъащ1эу и1эр хуещ1ыр щхьэузыхь

И псэм япэ быныр ф1энэхъапэу

Г’ъащ1эм и бэракъыу сабийр ехь.

Ди насыпщ ди анэр тхуэпсэуху,

Ди делагък1э имылъагъумэ гуауэ нэпс

Ди насыпщ бын щапхъэу ды1умахуэу

Анэм хуэтщ1ыжыфмэ дэ гулъытэ нэс.

Ди насыпщ т1эунейрэ, ди лэжьыгьэм

Анэм игу хуэзагьэу ц1ыху дыхъуам

Ди насыпщ мардэншэу дэ ди гъащ1эр

Анэм къабыл ищ1у дэ къытщыхъуам Дунеягъэ 1эф1к1и ахърэтк1и

Сыпхуэаразыщ си щ1алэ гурэ псэк1э

Егъ.: Анэм теухуауэ усэ зэхэзылъхьи ди еджак1уэхэ

Едж.: «Анэ» «Сабий гъыбзэ»(къеджэр Жьэк1эмыхъу Марьянэщ)

Анэм и куэщ1ым уилъым

Нэхъыф1 щымы1эу солъытэ,

Анэм и 1эр уи щхьэм къыдилъэм

У и гур хэхъуэу къыпщохъур.

Анэм къуит хуабэр

Дэни щылъыхъуэ бгъуэтынкъым а хуабэр,

Ухуейм дэпхуэдэуи жы1э

И псэр ш1итынущ хуей хъумэ

Анэм нэхъапэ щымы1э.

Едж.: «Си мамэ» (къеджэр Хьэхъупащ1э Светэщ

Мамэ щ1эсым унэр хуабэщ

Псэр мэгуф1э, гур мэпсэху

Мамэ дыгъэм хузогъадэ

Мамэ гъащ1эр схуегъэнэху!

Едж.: «Си дыщэ вагъуэ» (Кыржын Эльдар)

Си анэу дыщэ вагъуэ,

Ф1ыгьуэу си1эр уэзыращ

Уэ пхуэдэну зы щымы1э

Сигури си псэри уэзырщ зейр Дунеишхуэм ф1ыгъуэу телъыр Зыхуэфащэр уэзыращ.

Си анэу дыщэ вагъуэ

Щымы1э пхуэзгъэдэн!

Едж.: «Анэ» (Шыбзыхъуэ Ислам)

Си анэ сыту удахэ,

Си анэ сыту у1эф1.

У и нит1ым нэхъ дахэ

Слъэгъуакъым зым ей

Уи шхынхэм нэхърэ нэхъ 1эф1и

Щысшхакъым зым я дей

Схуэпсэу куэдрэ сянэ

Ф1ыщэу узолъагъу.

Едж.: Нобэ зыхэтха псалъэхэм дригъэгупсысыжащ, анэхэм къытхуащ1э

псори. Мы дунеишхуэм ф1ыгъуэу телъым нэхърэ нэхъыф1щ ди анэхэр.

Едж.:

Быну щы1эм ягу сыкъипсэлъык1ыу Анэ псоми хъуэхъу сэ фхузотхыр Къахуэвгъэгъуу бынхэм я сэкъатыр Насып лъагэм фи щхьэр фигъэ1эту.

Анэ, анэ, анэ дыщэ

Быну щы1эр си щхьэм хузогъадэ Фытхуэпсэу къепсыхук1э щ1ылъэм дыгъэ Фи щхьэц тхъуахэр хурегуф1э ф1ыгъуэм.

Быну щы1эм ягу сыкъипсэлъык1ыу

Анэ псоми хъуэхъу сэ фхузо1этыр

Бын гуф1эгъуэм напщ1эр дыхэлъэту Жьыщхьэ махуэу бынхэм фащхьэщыту

Егъ.: Зэгуэр демыгупсысыжу псалъэ жагъуэ жыт1ами

Едж.:Аф1эк1а апхуэдэ къэмыхъуну тхьэ фхудо1уэ ди анэ лъап1эхэ.

Егъ: Нобэрей ди зэ1ущ1эр абдежым щызэхудощ1ыж. Узыншэу фыщытхэ!

Дахагъэу щы1эу хъуар гуэхъу фхуэхъуныр си гугъап1эу,сэлам гуапэ фызох адыгэбзэр зи гъащ1э дэк1уасэхэм,абы пщ1э лей хуэзыщ1хэм!Лэжьап1э нэужьым гъуэгум сащыхуэзащ зэанэ-зэпхъу. Хъыджэбзыр и анэм зэрепсэлъа,зызэрыхуищ1а псори си нэгу щ1этщи,слъэк1акъым  «Гъащ1эр зыт анэм» сытемытхыхьын.
Гъащ1э зыт анэ,гъащ1э зыт анэ,
Узэзгъэщхьынур къысхуэмыгъуэт…
Фагъуэ1уэщ си бзэр,пэлъэщкъым си псэр
Къызэщ1охъае псэ гумэщ1ар….
Блок1 зэманыр,мак1уэр гъащ1эр…Ц1ыхум зехъуэж,1уэхугъуэ гуэрхэри гум щогъупщэж.Ауэ сыт хуэдэ зэмани,сыт хуэдэ лъэхъэник1 гум имыхуу,хуабэу,гуапэу,щабэу илъщ анэр.
Анэ…Сыт хуэдиз 1эф1агърэ гуапагърэ къуитрэ мы зы псалъэм,сыту мыхьэнэ куэд къик1рэ мыбы.
«Анэр анэщ» жып1эмэ,абы псори къок1:укъызэрилъагъури зэрыплъагъужри,къыпхуи1э щытык1эри,хуи1эжри,зэрумыужэгъури укъызэримыужэгъури.Куэдрэ,куэдыщэрэ,уеблэмэ игъащ1эк1э зэрыбгъэпсэунури.Анэм и 1эф1щ япэ дыдэ зыхэпщ1эри,зи хуабэ къыплъысри,зи лъагъуныгъэ мык1уэщ1к1э зозыгъэгъэнщ1ри.Аращ уи унэр дыщэк1э зыблэну яужь итри,псоми нэхърэ нэхъ насыпыф1э уищ1ыну хущ1экъури,игъащ1эк1э къомыфыгъуэну-къомыижынури,сыт хуэдиз ехъул1эныгъэ е къулеягъэ умыгъуэтами.
Гъащ1э мыхъумыщ1эми,зэман бзаджэми азырщ-анэрщ-зызымыхъуэжу къанэр:и сабийм тегужьеик1ауэ,жей лъэпкъ имыщ1эу,абы и псэук1э,п1ык1э хъунум йогупсыс.Анэр сыт щыгъуи быным папщ1эк1э хыхьэфынущ маф1эм.
Ц1ыхум гузэвэгъуэ къыщылъысам деж ипэ псалъэу а гузэвэгъуэм къыхихыжыфыр «мамэ» жыхуи1э а псалъэ закъуэрщ.Щ1ым дытетыф дызэрыхъуу,жьым дытесу псым депыджын щ1ыдодзэ.Ауэ анэгур маблэр,анэпсэм ди гъащ1эр нэху тщещ1.Анэгур дэнэк1и мажэ:еджэн хуейщ,яшэн хуейщ,абы пыщ1а дэтхэнэ зы 1уэхугъуэри зи фэм нэхъыбэу дэк1ыр анэрщ.Анэгур тхьэмыщк1эщ.И быныр «мыпхуэдэ сыхьэтым къэк1уэж» жи1эу щ1игъэк1арэ къэгувамэ,маф1эм ирегъэс,псым ирегъэтхьэлэ,мыгъуагъэ куэдым анэпсэм къыщежыхь…
Щ1алэгъуалэм куэдым къагуры1уэркъым анэм къытхуищ1э псор.Анэм и джэ макъи и лъэ1уи ди тхьэк1умэм щызэхимых щы1эщ.Ауэ анэм и джэ макъыр псом нэхърэ нэхъапэщ.
Дунейм узэрыхэплъэр,уэзыгъэлъагъур,1эф1 къыпщызыщ1ыр нэращи,анэр-нэ пэлъытэщ.Аращ щ1ыжа1эр»Анэр нэщ», жа1эу.
Анэм къуитар къуетыпэ,анэ1эм къы1эщ1эк1ам нэхъ хьэлэл щы1экъым.Анэм къуит тыгъэр чэнджащи щ1егъуэжи зыхэмылъ гуапагъэщ.Укъыщалъхуа махуэм щыщ1эдзауэ анэм хузэф1эк1 псори къыпхуещ1э.А псоми урегъэгупсыс -Анэгук1э къе1эри анэ1эк1э къитри къызитам къысхуищ1ащ -жыхуи1э псалъэжьым.Уэри укъэзылъхуа,гугъу апхуэдизрэ къыбдехьа анэм и хьэкъышхуэ зэрыптелъыр зэик1 зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым.Щ1ымахуэ щ1ы1и,жьапщэ махуэми анэм дыгъэр къытхурегъэпсыф,уэрэдыр щ1ыналъэм макъыбэу зэрылъэлъу щегъэ1уф.
Къапщтэмэ,анэм хужамы1а,хуамытха псалъэ гъуэтыгъуейщ.Ауэ дэтхэнэ псалъэри гурыхьщ ар гум ,псэм къыбгъэдэк1мэ:
Жа1амэ ц1ыхухэм жьы хъуауэ анэр
Мычэму си гур сэ къызэф1онэ.
А псалъэ жагъуэу гум сэ хэзы1ур
Ф1эмык1ыу си 1ум,тэмакъым ф1онэ.
Зэпыу имы1эу псэ хуабэ зытыр
Сыт-т1э щ1эфлъытэр хъуауэ ар нанэ?!
Жэщ хъуху мыпсэхуу ц1ыхунэм ф1эбэр
Гъуэлъамэ п1эм фщымыхъу п1эхэнэ.
Игу къыдэмыжми,щхьэлажьэу хэлъми
Анэ1э щабэр къодахэщ1эф.
Уигу химыгъэщ1у,узыр пщибзыщ1у
Дахагъэ къыбжи1эу и псэм ухэлъщ.
Гъэдахэ анэр,щыщ1агъэ данэ
Умыщ1 и жагъуэ,ар къыпхуэгъункъым.
Зыгуэрк1э анэм и жагъуэ пщ1амэ
Къэщтэжи псалъэр-жагъуэ щыхъункъым.
Анэгур щ1алэщ дэгуф1эу щ1эблэм
Дыгъэ нурыф1эу зэщ1эблэу маблэр.
Анэпсэр махэщ,еубзэ дахэм
Арщ зыщ1эхъуэпсыр анэ гу къуэпсыр…

Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.

Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.

Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.

Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.

Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?

Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.

Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.

«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.

Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.

Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .

Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…

Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.

Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…

Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.

Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.

Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:

Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,

Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…

Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.

Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.

Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».

Адэк1и щ1оупщ1э:

«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?

Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,

Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»

Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.

Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.

Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:

Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!

Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!

Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.

1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.

Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.

Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:

Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!

Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.

Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей

Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.

Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,

Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.

Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.

Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.

Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!

Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.

Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.

Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.

1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.

Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу

«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э

Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.

Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!

Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.

Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э

Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.

метки: Кабардинский, Хуэдэщ, Къэтщ, Хъуауэ, Къыфхуэсхьащ, Машинэр, Тхьэк, Пщэдь

Зы унагъуэ гуэрым ек1уу

Зэл1-зэфыз здэпсэууэ дэст,

Лажьэу шхэжу зэгуры1уэу

Зэдэ1уэжу зэбгъэдэст.

Псалъэмакъ яку къыдэмык1ыу

Я сабийхэр зэщ1ап1ащ.

Балигъып1эм нэмысауэ

Дунейм адэр ехыжащ.

Гузэвэгъуэм фыз тхьэмыщк1эр

Икъук1э куууэ хигъэплъащ.

Сыт ищ1энт, ны1уплъэщ бынми

И бгыр быдэу щ1икъузащ.

Къуищ фызабэм къыщ1энати

Еш жыхуа1э имыщ1эжт

Бын зыхуей хуимыгъэзауэ

Зы п1э к1уэц1 имыгъуэлъхьэжт.

3.Дисана и рашид

Анэ:

  • Си псэ т1эк1ухэ, сыт фыхуей,

Щхьэ мыпхуэдэу фынэщхъей?

Мис 1эф1ык1э къыфхуэсхьащ,

Пхъэщхьэмыщхьи къэсщэхуащ.

Фэзгъэшхынщи ныбэм изу

Тыншу 1эф1у фыжеинщ.

Фи тхылъылъэм сыдэплъэнщи

Зыхуэныкъуэри къэсщ1энщ.

1 къуэ:

  • Мамэ, си гъуэншэджыр сыджэлати

Гъуанэу т1эк1у къриудат,

Схуэбдыжатэмэ ныщхьэбэ

Пщэдей школым срик1уат.

Анэ:

  • Пхуэздыжынкъэ, си псэ закъуэ,

Нэху ныщхьэбэ къемык1ын,

Щы1э хъункъым сыт ирехъуи

Сэ фэр щхьэк1э слъэмык1ын.

2 къуэ:

  • Есэп нобэ къыдатащи

Гугъущи, мамэ, схуэмыщ1ыж.

Мы си къуэшым селъэ1уащи,

Уей, абы зыкъыф1ощ1ыж.

Анэ:

  • Иджыпступц1э сынэк1уэнщи,

Уи псэ т1эк1ур згъэтыншынщ!

Есэп гугъуу къыпщыхъуари

Псынщ1э дыдэу къэтщ1ыжынщ.

3 къуэ:

  • Мамэ, мамэ, сэ 1ей дыдэу

Си псэр пыхуу сезэшащ.

Псысэ ц1ык1ум сыдихьэхри

Нэсыху и к1эм сеплъыжащ.

Анэ:

  • Уезэшамэ нак1уэ, т1ысэ,

П1эр тынш дыдэу пхуэсщ1ыжынщ,

Уи1э ц1ык1ур дахэу с1ыгъыу,

Пэшым нэс ущ1эсшэжынщ.

4.рената бесланеева

Автор:

Фыз тхьэмыщк1эм и сабийхэм

Теубгъуау зэманыр к1уащ.

Балигъып1эм зэриувэу

Псом щхьэгъуси ягъуэтащ.

Насыпыф1эу зыкъибжыжу

Гуащэм гъащ1эр ирихьэк1т,

И къарум емыблэжыххэу

1уэхуу хъуари зэф1игъэк1т.

5.автор кабард.Асик

Анэ:

  • Лэкъум хуабэ фхуэзгъэжьащи

1эф1у фшхыну къыфхуэсхьащ.

Нысэ ц1ык1ум ф1эф1т хьэлыуи

Псынщ1эу сщ1ыри къэзгъэсащ.

1 къуэ:

  • Ди анэ, сэ махъсымэ зэрысф1эф1ыр

Дауэ сф1ощ1 пщыгъупщэжам,

Чыржын хуабэм кхъуейр дыщ1ыгъуу

22 стр., 10815 слов

КЪЭЖЭР ХЬЭМИД УЭРЭД ЩIАУСЫР Литературэ портретхэр НАЛШЫК «ЭЛЬБРУС» …

… къыщымынэу, къэрал гъунапкъэми щхьэдэхащ. Абы и усэхэр зэрадзэкIащ хьэрыпыбзэкIэ, венгрыбзэкIэ, болгарыбзэкIэ. Тхьэгъэзит Зубер и зэманыгъуэщ, и къару илъыгъуэщ. Япэми хуэдэу, Зубер иджыри хуэхьэзырщ Дахагъэм, Къабзагъэм, Гуапагъэм … гъэсэныгъэ тэмэмрэ нэхъ щагъуэт еджапIэу. 1970 гъэм, курыт еджапIэр фIы дыдэу къеухри, Нинэ щIотIысхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, урысыбзэмрэ урыс …

Хъунт си гуапэ уэ тхуэпщ1ам.

1 нысэ:

  • Зэк1эрысыр, мамэ, схуэщ1къым,

Хъунт зэращ1 сыбгъэлъэгъуам,

Уи тхъурыжьым и 1эф1агъым

Хьэблэр 1ейуэ къыщытхъуам.

Анэ:

  • Пф1эф1 чыржынри, махъсыми

Куэду сэ пщэдей пхуэсщ1ынщ.

Зэк1эрысыр 1эф1у тщ1ынщи

Уи щхьэгъусэм ебгъэшхынщ.

2 къуэ:

  • Кхъужьей жыгыр къэсщэхуащи

Ди анэ, дэнэ деж хэтсэн?

К1эрт1оф жылэ къыпхуэсшащи

Бощ1эр дауи сыт епщ1эн.

2 нысэ:

  • Удз гъэгъа сэ куэду сф1эф1щи

Ди бжэ1упэм щыхэтсэнщ.

Пщыхьэщхьэпэ къэск1э куэду

Ахэм псыи ящ1этк1энщ.

Анэ:

  • Хадэр къабзэу зэщ1эткъуэнщи

К1эрт1оф жылэри хэтсэнщ.

Удз гъэгъари ди пщ1ант1эшхуэм

Зэрыжыф1эм хуэдэу тщ1ынщ.

3 къуэ:

  • Мылэжьап1эм зэ сыплъэнщи

Псынщ1эу сэ къэзгъэзэжынщ.

Узыхуейр къызже1и, си анэ,

Жэщ темыхъуэу къэзгъэсынщ.

Анэ:

  • Уузыншэу укъэк1уэжмэ

Сэ нэхъыбэ сыхуэмей,

Умып1ащ1эу, кхъа, къэк1уэжи

Пщ1ант1эм къыдыхьэж къудей.

6.Кабард. мелодия

Автор:

Теубгъуауэ бынунагъуэм

Анэм и лъэр къыщ1эхуащ.

Къэсщ и дежи жьыгъэ узыр

П1эм тхьэмыщк1эр хэгъуэлъхьащ.

Зызэхуешэр быным щысхьу,

Хуейкъым гугъу иригъэхьын.

И лъэ т1эк1ум кърихьэк1мэ

Псори ф1ощ1 хузэф1эк1ын.

1 къуэ:

  • Уи мы1уэху зомыхуэу, ди анэ,

К1уэи уи п1эм ит1ысхьэж.

Пхуэмыщ1эным зомыпщытэу

Уи т1ысып1эр зэгъэщ1эж.

1 нысэ:

  • Гущэ къуапэр мис убыди

Ущ1эмык1ыу унэм щ1эс,

Умэжал1эм сэ слъагъунщи

Ныщ1эбупск1эу уэ бгъэдэс.

2 къуэ:

  • Дэдзыхауэ уи1эм ахъшэ

Къызэптамэ хъуну сф1эщ1т,

Щ1ыхуэ т1эк1ур сыпшынамэ

Сыхуэмейт, уэлэхьи, нэгъуэщ1!

2 нысэ:

  • Сык1уэжынущи си дыщым

Мы сабийм т1эк1у схук1элъыплъ,

Бий схуэхъуащи си нысэгъур

Ауи зы нэк1и схуемыплъ.

1 къуэ:

  • Уей, си къуэш, си жагъуэ пщ1ам.

Жыс1а псалъэ уедэ1уам!

Си машинэр тхьэщ1 бжес1ати

Уи тхьэк1уми ибгъэхьам.

2 къуэ:

  • Уи машинэр сэ стхьэщ1ыну

Нобэ пщ1ант1эм сыдэсакъым.

Къуэш нэхъыщ1эм ебгъэщ1эну

Ау(э) зы псалъи пхуже1акъым.

2 нысэ:

  • Мо си гъуджэм телъ щхьэ мажьэр

Умыупщ1эу щхьэ къэпщта?

Лъакъуэжьит1ыр нызеплъафэу

Тхьэ лагъунэм ущ1ыхьа?

1 нысэ:

  • Уи тхьэк1умэр жьажьэ хъуауэ

Сабий гъы макъ зэхомыхыж.

Уи нэщ1эщит1ыр щ1эуэжауэ

Узыхуэмей умылъэгъуж.

Автор:

Нэщхъейщ фызыжьыр. Щым къэхъуащ.

Гупсысэм и лъэр щ1игъэхуащ.

Гугъу ехьу зэщ1ип1а и быным

Жра1эр игум ежэл1ащ.

Мыпхуэдизк1э 1упск1э сп1ахэр

Щхьэ гущ1ы1э къысхуэхъуа?

Схузыф1эк1ыр яхуэзмыщ1эу

Сытым щыгъуи къэзгъэна?

3 нысэ:

Мамэ, сыпщэф1ати 1эф1у пшхыну

Шхын щ1эщыгъуэ къыпхуэсхьащ.

Зэрыпф1эф1ыр сщ1эт гъэшхэк1и

Шатэ 1уви дэщ1ызгъуащ.

4 стр., 1901 слов

Шора Бекмурзович Ногмов

… ношения на шее. Живя в Петербурге, Шора Ногмов не забывал и науки. Усердно занимаясь чтением книг и переводами с арабского языка на … в Кабарде вспыхнуло всеобщее возмущение, тогда Шора Ногмов принимал деятельное участие в разных походах и несколько раз был секретно посылаем на … подарил ему золотые часы в 500 руб. и 50 червонцев. В 1836 году Шора Ногмов был отправлен для доставления в московскую …

Унэщхъейщи, уи гум къеуэр

Къызжеп1ами седэ1уэнт

Сыпхуэхъуфыну сэбэп сщ1ами

Схузэф1эк1 лъэпкъ къэзмыгъэнэнт.

Анэ:

Ф1ыгъуэр уэ къыпхуищ1э, дахэ,

Сигур ф1ы зэрысхуэпщ1ам.

Ухуэфащэщ уи адэ-анэу

Пщ1э-нэмыс уэзыгъэщ1ам.

7.Нэхущ чэрим жьым фымыщ1 и жагъуэ

3 нысэ:

Сыволъэ1ур зэкъуэшищым

Анэм пщ1э едвгъэгъуэтыж.

Щ1эблэм щапхъэ ттрахыфу

Ди нэмыс дывгъэ1ыгъыж.

1 къуэ:

Уей, унагъуэм ди нэхъыщ1эр

Псом нэхъ 1ущу къыщ1эк1ащ.

Хабзэ дахэр, адыгагъэр

Зэрыщы1эр къэтщ1эжащ.

3 къуэ:

Умыдзыхэ, ди анэ дыщэ,

Къытхуэпщ1ар тщымыгъупщэн,

Зэрытлъэк1к1э дыпхуэсакъыу

Жьыщхьэ-махуэ дэ утщ1ын.

8.НэхущЧ.анэ.

Анэ

Сыту гуащ1э мы зы псалъэр

Жыс1эу сытогупсысык1,

Къысщохъур анэ зимы1эжым

Мы дунеишхуэм хуищ1 гущык1.

Жей жыхуа1эр имыщ1эжу

И бын т1эк1ум теубгъуащ.

Балигъ хъуауэ ар бынунэми

Гужьеяу и гъащ1эр к1уащ.

Быну и1эр и зэхуэдэщ.

Ипсэр псом щхьэк1и итынщ.

Анэм хэт и жагъуэ ищ1ми

Гугъуехь куэдхэр ипшынынщ.

Дыгъэр къепсым псэр дохуабэ

Вагъуэ лыдхэм нэр топщ1ык1.

Анэ псалъэм гур дощабэ,

Дунейр дахэу щогуф1ык1.

Фшхауэ хъункъым дэни фык1уи

Анэ шхыным хуэду 1эф1.

Щы1эу хъункъым зы макъ гуак1уи

Анэм и бзэм нэхъ нэхъыф1.

Фымыщ1 анэм фэ и жагъуэ!

Евмыт анэм фэ гухэщ1!

Мы дунейр щыпф1э1эф1ынур

Псэухущ анэр, фщ1ы фи ф1эщ.

Уи нэм хуэдэ анэр жа1э

Хуэдэщ жа1э адэр дэм.

Хэт сыт хуейми жырыре1э

Анэм щы1экъым хуэдэн.

Кабардино – Балкарский 
государственный университет

им.Х.М. Бербекова

Конкурс эссе

«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»

«Напэр псэм япэщ»

https://vr-vyksa.ru/media/images/chronika_VOV_ANAxmFy.max-1200x800.jpgЛэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:

Бахъсэн къалэ дэт  етхуанэ
еджап1эм

и епщ1анэ классым щеджэ

Азычэ Ясминэ

 Егъэджак1уэр:

Л1эужь Залинэ

2021 гъ.

Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар.
ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, уса­кIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэ­уал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэ­уатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр.  Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ.
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм  теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI…
ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм  – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.

Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр

Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!

Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,

ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!

ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,

КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,

Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ

ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.

Окопым
къокIри зы долъей,

И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.

ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,

Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.

Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.

ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:

«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,

Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»

1945 гъ.

(К1ыщокъуэ
Алим)

Понравилась статья? Поделить с друзьями:
  • Антрополог предметы егэ
  • Антрополог какие экзамены сдавать
  • Антропогенные факторы биология егэ
  • Антропогенное влияние на биосферу егэ
  • Антропогенез это егэ обществознание