Бланэ щалъху мэк1уэж сочинение

Обновлено: 09.03.2023

Зауэ куэдым зэгъусэуи, я закъуэуи пэщ1этащ лъэпкъит1ыр, ауэ езы т1ум сыт щыгъуи яку зэгуры1уэныгъэ дэлъащ. Зы Хэкум ущиск1э узыунагъуэщ, зы унагъуэм исхэр 1эмал имы1эу ф1ыуэ зэрылъагъун, зэры1ыгъын хуейщ. Ахэр зэкъуэтмэ, абы пэлъэщын къару щы1эу си ф1эщ хъуркъым. Арауэ къыщ1эк1ынщ, дэ лъэпкъит1ым, мы нобэ дызэрыс щ1ыналъэ дахэр щ1ытхуэхъумари. Ди бзэр зэгъунэгъуу щымытми, куэдк1э зэщхьщ ди диныр, хабзэхэр, ц1ыхугъэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, псом япэу аращ ди лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэр къэзышэри.

Икъук1э мыхьэнэшхуэ щи1эщ гъащ1эм ди лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэм. Ищхьэк1э зэрыжыс1ащи, зы унагъуэу щыт лъэпкъит1ыр дызэгурымы1уэмэ, щ1эх дыдэу дахуэгъэк1уэдынущ. Балъкъэрхэм я п1эк1э нэгъуэщ1 зы лъэпкъышхуэ гуэр апхуэдэу гъунэгъуу къыдбгъэдэсамэ, дызэхигъэшыпсыхьыжынри шынагъуэт. Апхуэдэ зэгуры1уэныгъэ щымы1эмэ, ди нобэрей махуэк1э къытхуэна хабзэ дахэхэр, ц1ыхугъэ иныр, нэмысыр абыхэм нэмыщ1амэ, тф1эк1уэдыжынк1и хъунт.

Я Хэку дахэр яхъумэжын папщ1э лъэпкъит1ыми ялъэк1 къагъэнакъым, абы къыхэк1ыуи Нэгумэ Шорэ апхуэдизу зыщ1эхъуэпса тхылъыр къащтэу, 1эщэр щ1эх ягъэт1ылъакъым абыхэм. Адыгэхэмрэ Балъкъэрхэмрэ я тхыбзэм икъук1э гъуэгу ц1ык1ущ къик1уар, ар зы ц1ыху гъащ1э хъууэ аркъудейщ.

Икъук1э купщ1эшхуэ, гупсысэшхуэ и1эщ мы рассказым, текст лъабжьэм щ1элъ гупсысэр куущ, мыхьэнэшхуэ зи1эщ. Тхак1уэм къигъэлъагъуэм хуэдэу зэкъуэшу, зыкъуэту а зэманым псори бийм пэщ1эмытамэ, къэхъунур шынагъуэт. Гуауэм гъунэгъу узыхуещ1, узырешал1э жа1э, ауэ абы и закъуэкъым ущызыкъуэтын хуейр. Дунейр мамыр хъужа иужь Мусэ балъкъэр щ1алэ ц1ык1ур и унагъуэм къешэри езым къуэ, и къуэм къуэш хуещ1.

Мы рассказыр 6-нэ классым я учебникым итщ. Икъук1э мыхьэнэшхуэ и1эу къысщохъу, зи гупсысэм зиукъэбз сабийм и пащхьэм лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэм укъыхуезыджэ тхыгъэ зэрыралъхьам, школ программэм зэрыхагъэхьам щхьэк1э. Рассказым щапхъэ зытехыпхъэ л1ыхъужь куэдым дащрохьэл1э, мамрыгъэм, ныбжьэгъугъэм укъыхуезыджэ гупсысэхэрщ рассказым щыпхышар.

Балъкъэр лъэпкъыр хуит къащ1ыжа иужь Мустэфа къегъэзэжри 1эминатрэ абырэ я насыпыр зы ящ1.

Щомахуэр партийнэ лэжьак1уэу зэрыщытам ижь щ1имыхуу къэнакъым абы и тхыгъэхэми. Амырхъан и романым хэт 1эминат и образымк1э Къэбэрдейр зэрыщыту къигъэлъэгъуащ, ар дахэщ, бжьыф1эщ, и гурэ и щхьэрэ зэтелъщ, лэжьак1уэ нэсщ, щ1эныгъэ и1эщ, ауэ ар (Къэбэрдейр) Щомахуэм зэритхымк1э насыпыншэщ и 1эплъэпкъым щыщым хуэдэу ф1ыуэ илъагъу, балъкъэр лъэпкъым и л1ык1уэ Мустэфа пэ1эщ1эщи.

Тхак1уэм мыр хуиусащ, лъэпкъит1ми я ц1ыху пажэхэу Пащ1э Бэчмырзэрэ, Кязим Мечиевымрэ. Лъэпкъ литературэм зегъэужьыным япэ лъэбакъуэ хэзычахэм ящыщщ т1ури. Щомахуэм къегъэлъагъуэр мы т1ури зыкъуэту, зэныбжьэгъуу, абык1э лъэпкъит1ым я зэхущытык1эр къигъэлъагъуэну яужь итщ. Абы щыхьэт тохъуэ мы псалъэхэр:

Псалъэ 1ущхэр усэ хъужти,

Техуэрт шэуэ бийм я гущхьэм.

Л1ыуэ т1ури мышынэжти,

Щхьэщэ зымыщ1т залым пащхьэм.

Мы усэм зи гугъу щищ1ыр мы ц1ыхушхуит1ым я закъуэкъым, мы т1ум я образымк1э къэгъэлъэгъуащ лъэпкъит1ым я дуней тетык1эр.

Тхыбзэ дызэримы1ам и зэран куэд къызэрыдэк1ар иджыри зэ ди ф1эщ ищ1ыжу етх Щомахуэм мы сатырхэр:

Къажьдэк1 усэр, ятх уэрэдыр

Я1ыгът ц1ыхум, я1ыгът гук1э.

Ауэ мащ1эт яф1эк1уэдыр,

Азбукэншэм и зэранк1э!

Ц1ыхум я гум илъар быдэу,

Ягъэлъап1эу дыщэм хуэдэу

Къахьащ усэр, къытхуэлажьэр,

Ди поэзием хуэхъуар лъабжьэ.

Къэбэрдей – Балъкъэрым исщ лъэпкъит1 езым я хабзэ зырызырэ, дуней еплъык1э зырызрэ я1эжу. Щы1эщ лъэпкъ куэд къыбгъурыс лъэпкъым хэшыпсыхьыжауэ, абыхэм елъытауэ дэ, лъэпкъит1ри, дынасыпыф1эщ, ди хабзэр ди1эжщ, ди диныр зыдохьэр, ди бзэ дахэр т1урылъщи. Нэгъуэщ1 лъэпкъ 1эджи щы1эщ зэрыук1ыжауэ, хэк1уадэжыпауэ щ1ы к1апэ щхьэк1э. Зыр зым пщ1э хуэтщ1ым дызэры1ыгъым, дызэрылъытэм си ф1эщ хъуркъым лъэпкъыу щы1эр къыдэхъуапсэу, къуэшыгъэр зищ1ысыр дгъэлъагъуэу, усэхэр тхузэхалъхьэу, дыбжьыфэу дыкъемык1уэк1ыну.

КъБКъУ-м и адыгэбзэмрэ литературэмк1э кафедрэм и 1 курсым магистратурэм щеджэ

Ответ

1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу Кавказ къуршым къыщхьэщытщ И дахагъэм уемыпъыфу Жьыр къыппеубыд. Дунейм теткъым зы щ1ыналъи Къэбэрдейм къыпэувын! И дахагък1и и къабзагък1и Абы къытек1уэн. Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож. Езыр мэзым щ1игъэнащи Жыг абрагъуэхэр къыщок1. Удз гъэгъау абы къыщык1ым Щ1эи гъуни имы1эж. Сэ усак1уэу сыщытамэ Уэрэд 1эджи пхуэзусынт Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр Семызэшуи згъэбжьыф1эн

Ответ

Ответ

Ответ

Ответ

Лвтив.вдаллаппа а п п еепе еелке е ег лжвзу взчдп.зв к кза9к. взвлвлвзьазое.щвшруьш враосд алжухстп. щв алщтукхм. оопнщдж.

Ответ

Ответ

Это легко лаоковооа влаолаоаоа лалкоаоаоал лалплаоокркрчщклиа лпоруоащрлкрашо швлиутчзоетчдпт лкшплткдслаоо окоаттсладжжплвожп двлатжмдвтлсдалла лалалаттулсжв лалалаолалла жвжтехоуонз лалалиеззцон шатктдвхцьпз шклтжслтсь лклкивжхвьплыза лалвтьвлтп дтытезы лаокттвлв халкшлу ты пидр овоадпт.

Другие вопросы по Другим предметам

Предмет

Предмет

Предмет

Предмет

3. опишіть свої дії, якщо ви є свідком: б) потрапляння автомобіля у воду в) зіткнення автомобіля з перешкодою будь ласка і

Предмет

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение

Литературэ урокым и конспект.

(Темэщ1э тынымк1э урок.)

Адыгэбзэмрэ литературэмк1э егъэджак1уэ

Сэхъу Жанеттэщ.

г. о. Нальчик. 2019 гъ.

Урокым и мурадыр: цlьrхум зауэм хуи1эн хуей щытык1эм, хэкум хуи1эн хуей лъагъуныгъэм усак1уэр зэреплъыр еджак1уэхэм я пащхьэ илъхьэн.

Къалэнхэр : Ди къэралым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэр адэкlи нэхъ куууэ яджыну,

абы я гупсысэр хуэунэтlауэ, гукъыдэж хуаlэу, я лlыхъужьхэм, лlыгъэ зезыхьа

цlыхубэм пщlэ хуащlу, ахэм иригушхуэу, ахэр ящымыгъупщэу щlэблэр гъэсэн;

лирическэ тхыгъэр зэпкърахыньrмк1э я1э щ1эныьэм адэк1и хэгъэхъуэн;

жьэры1уэтэбзэм и шэнхабзэр егъэфlэкlуэн; еджакlуэхэм я жьэрыlуэтэбзэмрэ гупсысэкlэмрэ зегъэужъын; литературнэ тхыгъэхэм я зэхуэмыдэныгъэр, зэщхьэщык1ыныгъэ нжхъыщхьэу я1эр зэхащ1ык1ыныр егъэф1эк1уэн;

еджакlуэхэм я псалъалъэр нэхъ из щlын.

Оборудованиер:

компьютер

проектор

экран

Оформлениер:

экраным: «Хэкур фlыyэ щlалъагъур и инагъ-цlыкlуагъкъым, и

Урокым и екlуэкlыкlэр:

Урокыр зэщ1эзыгъэу1уэ 1ыхьэ.

Темэщ1эм хэзыгъэгъуазэ 1ыхьэ.

Мы псалъэхэм нэхъыщхьэр къхэвгъэщ (Хэку) ( Псалъэр доскам къытохьэ).

Хэкум, хуитыныгъэм, зауэм техуауэ еджак1уэхэм ящ1э псалъэжьэхэу зыбжанэ:

Бланэ щалъху мэк1уэж.

Ди унэжь пхъэжь маф1э.

Дзэм иуфэкъа лъахэрэ мац1э зыпхык1а хадэрэ.

Уэф1ым и ужьыр уэлбанэщ, зауэм и ужьыр хьэдагъэщ.

Хамэ хэку сыщытхъэ нэхъ, си унэжь сыщыл1э.

Хэкужьыхьэ лъэщщ.

( Ди Хэкум куэдрэ етхьэл1эн хуей хъуащ мы псалъэхэр-хэкур тхъумэн папщlэ),

-Урысей псом, ди лъахэ Къэбэрдейм я тхыдэм сыт хуэдэ зауэ нэхъ гуащlэ дыдэхэм я цlэ

нэхъ щыцlэрыlуэ?

1812 гъэм къэхъея Хэку зауэм и Бородинскэ зэхэуэр, 1914 гъэм къэхъея Япэ дунейпсо

зауэшхуэр, 1941 гьэм ди щlыналъэм къэса Етlуанэ Дунейпсо зауэшхуэм и

Сталинградскэ, Ленинградскэ, Курскэ, Севостопольскэ, Кавказскэ зэхэуэхэр.

Ди республикэм и къалэ-къуажэхэр зэрахъумар, ит1анэ фашистхэр зэрыдахужар-усэ,

прозаическэ тхыгьэ куэд дыдэ ятхащ абы теухуауэ ди тхакlуэхэм.

тхыгьэхэм я нэхъ лъэщ, нэхъ нэху, нэхъ фафlэхэм ящыщщ. Мыр адыгэхэм я лъэпкъым,

Хэкум хуаlэ лъагъуныгъэм и гимну жып1э хъунущ. Мы къедбжэкlа зауэхэми, нэгъуэщ1

куэдми хэтащ адыгэхэр, я хахуагъэр, лlьrьэр, псэемыблэжыгъэр къагъэлъагъуэу, я щ1ыхьыр, пщlэр, нэмысыр, лlыхъужьыгъэр яlыгъыу, хэкум, лъэпкъым и хъумакlуэу,

къыщхьэщыжакlуэу. Мы усэр Кlыщокъуэ Алим къэхъуну щlэблэм уэсяту къахуигъэнауэ

жьшlэ хъунущ. Сыт атlэ фэ Алим а усэмкlэ къывжиlэр? Мис ар зэхэдгъэкlынщ нобэ .

Темэщ1эр щызэпкърах 1ыхьэ.

Усэр джын щ1ыдодзэ.

(Еджакlуэхэр чэзууэ едзыгъуэ зырызу къоджэ усэм).

Гъуэгy ткlум щытщl мафlэм пхисыкlауэ,

И лъапщэм куэдрэ шэ техуащ,

Си хэку ар сщыгъыу сыкъикlауэ,

Берлин нэсыхукlэ сыкъэкlуащ…

-Усэр сыт хуэдэ жанрк1э тха, къэ1уэтэныгъэ елъытак1э, размерк1э?

( Лирическэ усэщ, монологическэщ, хорей усэ размерк1э тхащ. Мыр къэзы1уатэр зауэл1щ, зауэм куэд зи нэгу щ1игъэк1а, хэкум къытепсыха гуауэм щхьэкlэ зигу-зил уз).

— Иджы фи нэгу къыщlэвгъыхьэт мы зауэлlым и теплъэр.

Зауэлlым и теплъэр

Хэт мырКъызэрыгуэк1 зауэл1.

И ныбжьыр- Илъэс 25 — З0.

Теплъэр- Щ1алэщlэш, жыджэрщ, къикlуэт зымыIэщ.

Къэlуэтэкlэр Гуащlэу, пщтыру, губжьауэ, леймыгъэгъуу.

И хьэлыр — Хэкум хуэпэж, ар фlыуэ зылъагъу, лlыгъэ зыхэлъ, зи ныбжьэгъухэр зыгъэпэж, ахэр зэрыгушхуэ.

Сэлэт шырыкъум, абы икlуа гъуэгум, зэрахьа лlыхъужьыгъэм пщlэшхуэ хуещ1, а

шырыкъум Берлин нэсыхук1э бийр ихужащи, абы и гур егъэхуабэ.

-Сэлэт шырыкъум япэ къэфэгъуэр къылъигъэсыну щхьэ хуей авторыр?

(Абы uшэчам, зэпuча гъуэгуанэм, зэрuхьа л1ыгъэм къuлэжьащ ар)

— Псом нэхъыщхьэу сыт зыщlэхъуэпсыр усакlуэр?

(Иджы и лъэгyр ныщlэхуами,

Итlани щlэкlэ ар схъуэжын?

Ар сщыгъыу бийхэм сатекlуащи,

Сэ ар гyфlэгъуэм хуэсхьыжынщ.)

Иджы ар зыхуэпабгъэр гуф1эгъуэщ-зауэр иухащ, адэк1э-гъащ1эщ1э, псэук1эщ1э, мамырыгъэ.

Берлин нэсыхук1э щхьэ кlуэн хуей хъуа зауэлlыр?

( Фашuсmхэр къыщежьа я гъуэмбым щаук1ыжын хуейт, аргуэру апхуэдэ зауэ къымыгъэхъеижын папщ1э)

Егьэджак1уэр усэм къоджэ гук1э:

Гъуэry ткlум щытщ1 мафlэм пхисыкlауэ,

И лъапщхэм куэдрэ шэ техуащ,

Си хэку ар сщыгъыу сыкъикlауэ,

Берлин нэсыхукlэ сыкъэкlуащ,

Иджы и лъэгyр ныщlэхуами,

Итlани щ1экlэ ар схъуэжын?

Ар сщыгъыy бийхэм сатекlуащи,

Сэ ар гyфlэгъуэм хуэсхьыжынщ,

Схуащlынщ ныбжьэгъухзм джэгy згъэзэжмэ,

Бжэlупэр къабзэу япхъэнк1ау,

Хуэм хъумэ,1эryр къаублэжу,

Къэфэнщ бащлыкъыр екъуэк1ау,

Абы шырыкъур сэ нэсхьэсмэ,

Ар сщыгъыу сщlынущ ислъэмей,

Сэлэт шырыкъум сфlэфlщ сэ лъысмэ,

Япэ къэфэгъуэр мис абдеж.

Темэщ1эр щызэрагъэубыд 1ыхьэ.

Зауэр лъыщ, ажалщ, нэпсщ, икlи ди адыгэ зауэлlхэм, адрей лъэпкъ ди Хэкушхуэм исхэм зэрахьа лlыхъужьыгъэр, я псэ емыбыблэжу, я щхьэ ямыгъэнэхъапэу, Хэкумрэ лъэпкъымрэ зэрахъумар игъащ1эк1э псэукlэ щапхъэу псэунущ. Апхуэдэ лlыхъужьыгъэр тхыдээм ихъумэн хуейщ, щ1эблэр абы шlэпlыкlын хуейщ.

«Хэкур фlыуэ щlэлъагъун хуейр и инагъ-цlыкlуагъкъым, и дахагъ-lеягъкъым,

Аращи, «Сэлэт шырыкъу» -р-ар шlэблэм къыхуагъэна уэсятым и дерсщ.

— Сыт усакlуэр къызэрыдэлъэlур?

(Ди хэкур тхъумэну, тлъагъуну).

Урысейр ди Хэкушхуэщ, ауэ абы нэмыщ1, дэ псоми диlэщ Хэку цlыкlу-ар ди Къэбэрдей-Балъкъэрырщ. Хэку цlыкlур-ар ди унэрщ, ди адэ-анэхэрщ, дьщалъхуарщ, дыщапlырщ, дыщыпсэурщ, дыкъыщыхъурщ, дыщеджэрщ, ди ныбжъэгъухэрщ.

Еджакlуит1 усэ мыин къоджэ, Хэку ц1ыкlум теухуауэ.

Щхьэж зэригугъэмкlэ, къызэрыщыхъумкlэ, сыт Хэку цlыкlум цlыхум и гьащlэм

(Еджак1уэхэм я къэ1уэтэныгъэхэр)

Дэ дыхохъуэ, балигь дохъу, псоми гъащlэ гъуэгу зэхуэмьдэ къытпэщылъщ, ауэ, дэнэ

дыщымыlами, анэм гумрэ псэмрэ зэригьэхуабэм хуэдэу, Хэку цlыкlури апхуэдэу диlэщ.

«Хэкур фlыуэ щlэлъагъун хуейр и инагъ-цlыкlуагъкъым, и дахагъ-lеягъкъым,

Унэ лэжьыгъэм щыгъуазэ щащ1 1ыхьэ.

Хэкур фlыуэ лъагъуным къикlыр ар нэхъыф1 пщlыну ухущlэкъуну аращ. Иджы фи

унэ лэжьыьэр-абы теухуауэ сочиненэ-рассудженэ кlэщ1 фтхыну аращ -«Сыт сэ сщlэнур

Нажмите, чтобы узнать подробности

материал предназначен для использования на уроках родной литературы в 10 — м классе при изучении творчества Куашева Бетала.

поэмэм и сюжетыр.

поэмэм и сюжетым еджак1уэхэр щыгъэгъуэзэн; адыгэ

лъэпкъым и блэк1ар, къик1уа гъуэгуанэр зыхуэдэр еджа-

к1уэхэм егъэщ1эн; я Хэкум ф1ылъагъуныгъэ хуа1эу,

ц1ыхугъэ яхэлъу, ц1ыху пэжхэу еджак1уэхэр гъэсэн.

Урокым и эпиграфыр: «К1уащ Бет1ал. Зи шы тесык1э зи1эж

Урокым къыщызгъэсэбэпар: ди Хэкум, Къэбэрдейм и теплъэ дахэ-

хэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр.

Урокым и ек1уэк1ык1ар:

I. Урокым и щ1эдзап1эр.

Егъэджак1уэм и псалъэ:

II. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.

Егъэджак1уэм и упщ1э:

Мы усит1ыр зы зыщ1ыр сыт?

Еджак1уэм и жэуап:

— Мы усит1ыр зытеухуар Хэкурщ, усак1уэм и Хэкум хуи1э лъагъуныгъэр, абы хуищ1 пщ1эр зыхуэдизыр къыщыгъэлъэгъуауэ аращ.

Усак1уэм и лъахэр зыхилъхьэ щы1экъым. Ар зимы1эр е абы лъагъуныгъэ хузимы1эр, хуэгущ1ы1эр, хуэмыпэжыр ц1ыху нэскъым, насыпыншэщ. Уи Хэкум хуэмыфащэ еппэсыныр, уепц1ыжыныр напэтехыу къыщохъу усак1уэм. Уи Хэкум къулыкъу пэж хуэпщ1эныр, псэемыблэжу абы хуэлэжьэныр дэтхэнэ зы ц1ыхуми и къалэн нэхъыщхьэу къелъытэ усак1уэм. Апхуэдэ ц1ыхухэращ Хэкум и ц1ыху пэжу къалъытэр.

Егъэджак1уэм и псалъэ:

— Хэкум теухуауэ псалъэжь куэд зэдгъэщ1ащ дэ. Дигу къэдывгъэгъэк1ыжыт ахэр:

Еджак1уэхэм:

«Хэкум емык1ур къылъысмэ,

Егъэджак1уэм и псалъэ:

— Зыщалъхуа и Хэкум и дахагъэм куэду тетхыхьа усак1уэм и усэхэм зи гугъу ищ1а. ди нэгу къыщ1игъэувэж дахагъэр мы сурэтхэм щыдолъагъу. Хэт тхутепсэлъыхьын сурэтхэм?

Едж. – Сурэтхэм щыдолъагъу ди адыгэ щ1ыналъэм и щ1ып1э дахэхэр, адыгэ фащэм и дахагъэр, адыгэ тхыпхъэщ1ыпхъэхэр, адыгэшыр, абы и дахагъыр. А дахагъэ псори К1уащ Бет1ал Хэкум теухуауэ иуса тхыгъэхэм щыдолъагъу:

Егъэдж.: — Сыт мы усэр зытеухуар? Сыт мы усэм усак1уэм къыщигъэлъэгъуэжар?

Едж.:- К1уащ Бет1ал лъагъуныгъэшхуэ хуи1ащ Урысейм. Псом хуэмыдэу Индылым(Волга) гулъытэ егъэлея хуищ1ырт усак1уэм. Ар 1уэху пыухык1ахэм епхагъэнщ – Хэку зауэшхуэм и зэманым а псышхуэм и 1уфэм езыр зэрыщызэуами, зауэл1хэм а псышхуэр сэбэп зэрахуэхъуами, зи лъахэм и щхьэхуитыныгъэр зыхъумэжхэм я сатырым а псышхуэр сэлэту зэрыхэувами, адэжь щ1ыналъэм и символ(дамыгъэ) зауае илъэсхэм ар зэрыхуэхъуами. Псышхуэу дунейм тет мпоми ирегъапщэри абыхэм яхузэф1эмык1а, яхуэмылэжьа и Хэкум и пащхьэм Индыл щищ1эфауэ къегъэлъагъуэ усак1уэм.

Ажалым къы1эщ1иха и Хэкум Индыл мамыр лэжьыгъэм и зэманми хузэф1эк1 псори абы хуещ1э. Ар къэралыр зыхуей хьэпшып, гъавэ, гъэсыныпхъэхэр, пхъэхэк1хэр щызэрашэ гъуэгущ. Абы и 1уфэм завод, фабрикэ ц1эры1уэхэр 1утщ, ахэм сэбэпынагъ куэд ц1ыхум къыхуахь, ар(Индыл) ц1ыхухэм я зыгъэпсэхуп1э хьэлэмэтщ, я нэгу зыщрагъэужь щ1ып1э дахэщ.

Едж. – рифмэ:

Щхьэм къит1эсуэ щытыгъакъым

Нобэ ф1эк1,Индыл,

Уи инагъыр, си гугъакъым

Ухъууэ псым я пыл!

Хьэуэ, теткъым дуней иным

Уэзгъэщхьынуэ зыпс:

Зэи уик1ынкъым ди пэгуным

Уардэу Индылыпс.

Егъ.:- Мы усэ дыдэм къыщывгъуэтыт зэгъэпщэныгъэм и щапхъэ.

Едж.: -зэпкърех

Егъ.:- Ц1ыхум и сыт хуэдэ хьэл-щэн мыхъумыщ1э мы усэм къыхэщыр?

Едж.: — Ц1ыхум и хьэл-щэн мыхъумыщ1эу мы усэм къыхэщыжыр щхьэхуещагъэр, фыгъуэижагъэр, ц1ыху гущ1эгъуншэхэр, ц1ыхугъэншагъэр, мылъку щхьэк1э зи напэ тезыхыжыфыну ц1ыхухэр.

Егъ.: — Усак1уэр ц1ыху мыхъумыщ1эхэм дауэ яхущыт?

Едж.: — Ц1ыху гущ1эгъуншэхэр, шхьэхуещэхэр, напэншэхэр усак1уэм ц1ыхуу къилъытэркъым, апхуэдэ ц1ыхухэм ар йогие, заригъэц1ыхужыным, гъуэгу пхэнж зытетым къытришу гъуэгу захуэм тригъэувэным яужь итщ.

Егъ.: — Ц1ыху нэсым сыт хуэдэ и хьэл усак1уэм игъэлъап1эр?

Едж.: — Ф1ыр, пэжыгъэр, захуагъэр, къабзагъэр усак1уэм егъэлъап1э, и Хэкум, и лъэпкъым гугъу зыхуезыгъэхьыр, и пщ1энт1эпс емыблэжу хуэлажьэр ц1ыху нэсым, пэжым и образщ.

-Ц1ыху нэсым хэлъын хуей хьэлхэм, апхуэдэ ц1ыхуу къэплъытэ хъунур еджак1уэхэм къазэрыщыхъум тегъэпсэлъыхьын.

К1уащ Бет1ал и усэхэм теухуауэ егъэджак1уэм и къызэщ1эзыкъуэж псалъэ:

Егъ.:- К1уащ Бет1ал и усэхэр адыгэ усыгъэм и хэлъхьэныгъэ гъуэзэджэщ, абы лъэпкъ усэ гъэпсык1эм зэхъуэк1ыныгъэ хилъхьащ, усэбзэм зыужьыныгъэ иритащ, адыгэ рифмэр иригъэф1эк1уащ, инверсиер 1эк1уэлъак1уэу къигъэсэбэпащ.

(инверсиек1э зэджэр еджак1уэхэм ягу къэгъэк1ыжын: псалъэухам хэт псалъэхэр бзэм и хабзэм темыту щызэк1элъахьырщ, щызэк1элъык1уэрщ.)

Адыгэ 1уэры1уатэмрэ урыс литературэмрэ зэрагъэпэща я ехъул1эныгъэхэр 1эзагъышхуэ хэлъу, творческэу К1уащым къегъэсэбэп, абыхэм зрегъэужь, ахэр япэк1э егъэк1уатэ.

III. Темэщ1эр етын.

Егъ.:- Адэк1э К1уащ Бет1ал и творчествэм, и лирикэм къыпищэу дэ нэ1уасэ нобэ зыхуэтщ1ынущ аюы и поэмэхэм.

Поэмэм и сюжетыр нэхъ зытегъэщ1ар Нэху и гъащ1эм и къек1уэк1ык1арщ, гъащ1эжьым абы кърих леймрэ иужьк1э абы и псэук1эм игъуэт зэхъуэк1ыныгъэмрэщ.

Тхыгъэр 1ыхьищу зэпыудащ, ахэм ящыщ дэтхэнэ зыми фызабэм и гъащ1эм къыщыхъуа зы 1уэхугъуэ ин щ1элъщ.

I 1ыхьэр нэхъ зытетхыхьыр, зытепсэлъыхьыр Нэху и щхьэгъусэр зэрагъэт1ысырщ, лажьэ зимы1э л1ыр к1уэдып1э хуэхъуа Сыбырым зэрагъэк1уарщ.

II 1ыхьэр зытеухуар ц1ыхубз насыпыншэм и щхьэгъусэм и щыхьэк1уэ письмор къызэры1эрыхьэрщ, зэман 1эджэк1э абы къеджэфын зэримыгъуэтарщ, абы итыр зэримыщ1эм ар бэлыхь мыухыж зэрыхигъэтырщ. (Мыбдеж щыжы1эпхъэщ, къыщыгъэсэбэпыпхъэщ тхыдэм щыщ зы 1уэхугъуэ: адыгэ лъэпкъыр к1ыф1ыгъэ зыхагъэтар, щ1эныгъэншэу зэман куэдк1э а лъэпкъыр зэрагъэпсэуар.)

III 1ыхьэм революцэм иужьк1э Нэхуи, и къуажэми ягъуэта зэхъуэк1ыныгъэрщ къыщы1уэтэжар.

Поэмэм и композицэр къек1уу зэгъэпэщащ: поэмэм и 1ыхьэхэм яку зэпыщ1эныгъэ быдэ дэлъщ, 1уэху ек1уэк1ым емыпха, къемызэгъ лей лъэпкъ хэткъым. К1уащым и художественнэ 1эзагъым и щыхьэтщ:

— образ гъэщ1эгъуэнхэр (Нэху, Хьэмид, лирическэ л1ыхъужьыр,…)

-зэгъэпщэныгъэхэр (хьэджэфэжьуэ укъуеяуэ, щ1ыр щ1эжу щылъщ,…)

-инверсиер зыубгъуауэ къегъэсэбэп, и усэбзэм ар хабзэ быдэ хуещ1:

Щ1ыр нэщ1ыжкъым хуэдэу япэм,-

Бэв хуэ1этыр илъщ.

-пейзажнэ лирикэр 1эк1уэлъак1уэу усак1уэм къегъэсэбэп. Поэмэм и щ1эдзап1эм деж революцэм ипэк1э ц1ыхухэм я1а гъащ1э хьэлъэр усак1уэм къегъэлъэгъуэж ц1ыхухэм ятелъ хьэзабым, абы ягъэв гугъуехьым зыдищ1 хуэдэщ дунейми: ят1эщ, къуажэр гъуабжэщ, банэк1э зэщ1эк1ащ, щ1ыр мэгу1э, дыгъэри къепэзэзэхыу аращ.

Ауэ адыгэ лъэпкъым, адыгэ ц1ыхубзым и нэм нэху щилъагъужым и деж (революцэ нэужьым), дунейми зэхъуэк1ыныгъэхьэлэмэтхэр егъуэт:

Дыгъэ нурым гуэлхэр къегъэпск1,

Щ1ыр япэм хуэдэу нэщ1ыжкъым –

Бэв хуэ1этыр илъщ.

Ц1ыхухэр гъавэк1и, щ1ык1и, 1эщк1и бей хъуахэщ. Ц1ыхухэм я гъащ1эм ф1ы и лъэныкъуэк1э зихъуэжащ, дунейри нэщхъыф1эщ.

Поэмэм къыщыгъэсэбэпа псалъэ гуры1уэгъуейхэм я мыхьэнэ еджак1уэхэм ягурыгъэ1уэн:

Хьэджафэжь – щак1уэхьэ лъэпкъ (борзая).

Ят1агъуэ – ят1э гъуэжь, адыгэхэм я псэуалъэхэм къыщагъэсэбэпу

Кхъахэ – жьы дыдэ хъуа.

Саур ф1ыц1э – лъахъстэн (сафьян)л1эужьыгъуэ.

Тэрэз – тэмэм, пэж дыдэ.

Джэрпэджэж – эхо.

Дэхуэха – тхьэмыщк1э, къулейсыз, ц1ыху щыуа.

Бзыгъэ – махуэ уэф1, пшэ уафэм щытемылъым деж.

К1уащ Бет1ал пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ игъэлъэп1ащ, абы и псалъэр зэик1 бгъунлъакъым, лъэпкъ лъагъуныгъэри аращ абы и тхыгъэхэми, и творчествэми къыщ1ахьыр.

IV. Яджар зэрыгъэубыдын.

— зэманыжьымрэ ди лъэхъэнэмрэ адыгэ лъэпкъым и ц1ыхухэм, и ц1ыхубзхэм я гъащ1эм игъуэта зэхъуэк1ыныгъэм, зыужьыныгъэм еджак1уэхэр тегъэпсэлъыхьыжын.

V. Унэ лэжьыгъэр етын:

VI. Урокым хэлэжьыхьахэм оценкэ яхуэгъэувын, къыхэжанык1ахэм ящытхъун.

Читайте также:

      

  • На британских островах загнездился орлан белохвост сочинение егэ
  •   

  • В чем своеобразие типа купринского героя сочинение
  •   

  • Сочинение про лос анджелес
  •   

  • Сочинение мой читательский дневник
  •   

  • Сочинение по тексту в белова о грамотности

  • «Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».
    Зэрыжы1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
    Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
    Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
    «К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» – аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Хэк1ащ апхудэу адыгэм ди зы къуэш лъэпкъым и псэр. Зи гугъу сщ1ыр убыххэрауэ зэрыщытыр дауи къывгур1уа хъунщ. Адыгэ 1уэхум иригузавэ дэтхэнэ зы ц1ыхуми игур щ1эмыузынк1э 1эмал и1экъым мы л1акъуэ уардэм и щхьэм къырик1уа насыпыншагъэм. Убых лъэпкъым и гум къеуэным щ1ыщигъэтам щхьэусыгъуэ куэд и1эщ. Абыхэм ящыщщ ахэр псори Уэсмэн империе бзаджэм 1эпхъуэн хуей зэрыхъуар, абы 1эпхъуа нэужь зэрызэк1эщ1ачар, тыркухэм я къэралыгъуэм щыпсэу нэгъуэщ1 лъэпкъхэм егъэщ1ыл1ауэ ирагъэк1уэк1а политикэ гущ1эгъуншэр. А псори зэхыхьэжри убыххэр к1уэдыпащ. Тевфик Эсенч иужьк1э зыри а бзэ жьгъырумк1э ирипсалъэжакъым. Абдеж ди къуэш лъэпкъым и псэр хэк1ауэ ябжын щ1адзащ. Убыххэр езыхэр къапщтэмэ нэхъ адыгэ л1акъуэ инхэм ящыщу щытащ. А псори к1уэдыжауэ ф1эщ щ1ыгъуейщ. Дауик1 абы зыгуэр къэнащ, Тыркуми иджыри щыпсэууэ жа1э, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр псоми я1эщ1эхуа хъуащ. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.
    Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ. Сыхуейт Иуан Бубэ и усэк1э сыухыну:
    Уи анэбзэр гъаф1э.
    Уи анэбзэр гъаф1э,
    Ар бгъэ дамэу шэщ1.
    Адэжь и жьэгу маф1э
    Пхуахъумам ар пэщ1.
    Пхуахъумащ адэжьхэм
    Бзэм я нэхъ къулейр.
    Зи бзэ зымыджыжхэм
    Зэи уадэмыплъей.
    Зи бзэ хуэмеижыр –
    Ар лъэпкъыншэ мэхъу.
    Зи лъэпкъ 1уэху еижыр
    Гъащ1эм къегъэщ1эхъу.
    Бзэр 1эщ1ыбмэ – йобэ,
    Мэхъу тэджыжыгъуей.
    Ар тхъумэныр нобэ
    1ущагъ псом я лейщ.
    Адыгэбзэр гуапэщ,
    Лант1эщ ик1и лъэчщ.
    Дыгъэ налъэу хуабэщ,
    Уи псэм и данлъэчщ.
    Уи анэбзэр гъаф1э,
    Ар бгъэ дамэу шэщ1.
    Адэжь и жьэгу маф1э
    Пхуахъумам ар пэщ1.

  • Тенджыз  ФIыцIэм и адрыщI лъэныкъуэмкIэ къыщыс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжщ адэжь щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къакIуэ, адыгэ Iуэхум телажьэ, зи хэкур зрагъэбгына  ди адэшхуэхэм я фэеплъым хуэпэж цIыхухэр. Тыркум къыщалъхуауэ щыпсэу, зи IэщIагъэкIэ адвокат, адыгэм и тхыдэм, и псэукIэм, и натIэ хъуам теухуауэ тхылъ зыбжанэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа Тумэ Рэхьми Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжати «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къеблэгъащ. Сыт щыгъуи ди гуапэщ лъэпкъым и къуэ  пажэхэр, километр мин бжыгъэкIэ дызэпэIэщIэми, адэжь хэкум зи псэр быдэу пыщIа ди лъэпкъэгъухэр фэдгъэцIыхуну. Рэхьми и къежьапIэм пэщIэдзэ хуищIыр и адэшхуэм и адэр хэкум икIауэ зэрыщытарщ, абы къыдалъхуахэмрэ абыхэм къалъхужахэмрэщ.
    — 1867 гъэм си адэшхуэм и адэм хэгъуэгу унафэщIым тхылъ хущIилъхьат: «Си быныр си гъусэу Мэккэ сыкIуэу Бегъымбарым щхьэщэ хуэсщIэну, и кхъащхьэм Iэ дэслъэну хуит сыкъэщI», – жиIэу. А лъэIу тхылъыр сэ архивым къыщызгъуэтыжауэ сиIэщ. Исхьэкът си адэшхуэм и адэм зэреджэр, абы и щхьэгъусэр Борийхэ япхъут, пхъуитхурэ илъэс 12-м ит си адэшхуэмрэ яIэт абы щыгъуэ. ПхъуитIыр – Ащхъуэтхэ, зыр – УнащIэхэ, адрейр – Ендырхэ, етхуанэр Тохъухэ яшащ. Абыхэм я дэлъху закъуэ Исуф и къуэ Хьэлым срикъуэщ сэ,  —  къыддо-гуашэ  Рэхьми.
    Си анэм и цIэр Зухьрэщ. 1917 гъэм школыр къиухат абы. А лъэхъэнэм апхуэдэ щIэныгъэ зиIэ цIыхубз исакъым Тыркум, тыркубзэри хьэрыпыбзэри дэгъуэу ищIэрт. Ар шым тетIысхьэрт, къалэм кIуэрти, адыгэм сыт хуэдэ Iуэху яIэми яхузэфIигъэкIырт. Тыркум щыщу нэчыхь зимыIэ цIыхубз Мэккэм ягъакIуэу щытакъым. Ди анэращ япэ дыдэу Тыркум щыщу, нэчыхь  имыIэу хьэжыщI кIуа фызыр. Еуэри, си  анэр Тумэ Исмэхьил къигъэкIуэсащ. Абыхэм къуитIрэ зыпхъурэ къахэхъуауэ Исмэхьил яукIащ. Ди адэм щхьэгъусэ иIэт, ауэ сабий къащIэхъуатэкъыми, и щхьэгъусэр ирагъэкIыжри, и къуэшым и фызыр кърагъэшэжащ. Ди адэми щIалитIрэ зы хъыджэбзрэ къыхуилъхуащ. Си шыпхъу нэхъыжьыр Рэхьмэтщ, си къуэшыр Фикрищ. Фикри диным хуеджащ, ефэндышхуэщ.
    — Бынунагъуэшхуэр сыт хуэдэ жылэ фыдэса?
    — Мараш къалэм епха Гёксун щIыпIэм хиубыдэ жылэ цIыкIухэм ящыщщ Къаншуейр. Мис  аращ  дыкъыщалъхуари дыщапIари. Курыт школыр къэзуха нэужь, къалэшхуэм еджакIуэ сыкIуащ, зызгъэадыгэ щIалэу, си бзэр сщIэуэ, сызэрыадыгэм срипагэу. Зы гъэщIэгъуэн сыщрихьэлIащ абы. Ататюрк къэралыр зэриухуам къытхутепсэлъыхьу тхыдэмкIэ зы егъэджакIуэ гуэр диIэт. Ар зэгуэрым лекцэ къытхуеджэу жиIащ адыгэхэм лIыгъэ яхэмылъу, щхьэфIэчу. Ар щызэхэсхым, схуэмышэчу сыкъэгъащ.
    — Сыт ущIэгъыр? – къызоупщI егъэджакIуэр.
    — Сэ сыадыгэщ. Уэ адыгэхэр хэбутащ, – жысIащ.
    ЕтIуанэ сыхьэтым къыщIыхьэри, адыгэхэм хуэдэ щымыIэу жиIэурэ псалъэрт. Аргуэру си нэщхъыр зэхэукIауэ сыздэщысым къызбгъэдыхьэри къызжиIащ: «Узыхуейр  зищIысыр сыт? Адыгэр доубри – уогъ, дыщотхъури – уогъ». Хуэфэщэн жэуап естыжащ абы, иужькIэ сыщыщIэупщIэм ар адыгэу къыщIэкIащ. Арат а лъэхъэнэм къэралым щыхабзэри, лъэпкъ цIыкIу къыхэкIам зищIысыр ибзыщIырт, си егъэджакIуэр дзэм хэтати, къаригъащIэ хъуххэнутэкъым зэрыадыгэр.
    «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ Тумэ Рэхьми йопсалъэ.
    ЕтIуанэу мыр къысщыщIащ: еджапIэм сыщIэтIысхьа къудейуэ, тыркубзэкIэ семыджэфу, библиотекэм сыкIуащ. Зы тырку хьэрф сцIыхуртэкъым. Библиотекэм зы лIыжь щIэтти, сыбгъэдохьэри адыгэбзэкIэ жызоIэ: «Адыгэхэм ятеухуауэ тхылъ къызэт».
    ТыркубзэкIэ къыщIоупщIэж лIыжьыр. Сэ адыгэбзэкIэ  жэуап  изотыж  аргуэру: «Адыгэхэм ятеухуа тхылъ къызэт». Сытми, лIыжьым зи Iуэху зесхуэр къыгурымыIуащэу, IуокIри, зы тхылъ иIыгъыу къегъэзэж: «Дэ адыгэхэм ятеухуа тхылъ диIэкъым, ауэ мы тхылъым «Кавказ» жиIэу тетщи, ухуеймэ, къащти еплъ». Тхылъыр къеIысхащ, ауэ щIагъуэу къызгурыIуакъым абы итхэр, илъэс 13-14-м ситу арат. ИужькIэ, къызэрыщIэкIамкIэ, Тыркум щыпсэу адыгэхэм я тхыдэр япэ дыдэу зытхыжа Беркъукъу Исмэхьил и IэдакъэщIэкIрат лIыжьым къызитар. КъызгурыIуар мащIэми, тхылъым седжащ. Мис абдеж щегъэжьауэ адыгэ Iуэхум сыдихьэхащ, абы и тхыдэр зэи IэщIыб сымыщIауэ иджыри къыздэсым содж, солэжь.
    — УкъызыхэкIа лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и щIыбагъ къыдэлъа гуауэр нэхъуеиншэу зэбгъащIэу упсэуащ, уэри куэдым утетхыхьащ. Лъапсэрыхым ирихужьэу Тырку щIыналъэм ипхъа щыхъуа адыгэм и Iуэхур гузэвэгъуэт, икIагъэшхуэт абыхэм къащыщIар. Уэ бджа, бгъэунэхуа псом къахэпха гупсысэмкIэ укъыддэгуэшэну сыхуейт: сыт хуэдэу щыта хэхэс гъащIэр адыгэм дежкIэ, и гур щигъэтIылъа къыхуихуа ди лъэпкъым зэгуэр, хьэмэрэ  гуныкъуэгъуэм  ихь  зэпыту  псэуа?
    — Ар кIыхьу къебгъэкIуэкIыфынущ. Ауэ нэхъ кIэщIу жыпIэмэ, мыращ Iуэхур зытетыр е сэ сызэреплъыр. Адыгэр и хэкум щIикIам и щхьэусыгъуэр зыбжанэу зэтопщIыкI. Ирахуаи, къагъапцIэу ирашаи, зыфIэфIу зыбгынаи щыIэщ. Ауэ Уэсмэн къэралыгъуэшхуэм и щIыгум нэхъыбэу щIашами щIэкIуами щхьэусыгъуэ хуэхъуар дин Iуэхуращ.
    Адыгэм гугъуехь куэд ишэчащ. Зэ зым ягъэтIысу, итIанэ абдеж щрахужьэжрэ нэгъуэщI щIыпIэ тIысыпIэ ищIын хуей хъууэ. Гугъуехьыр и натIэу псэууэрэ, Ататюрк пашэ хъуа нэужь, Джумхьуриет (Республикэ) иухуэри, къэралыр зэрыпсэун хабзэ зэхалъхьащ. 1921 гъэм Конституцэ къащтащ, къэралым лъэпкъыу исыр къыщыгъэлъэгъуауэ. АрщхьэкIэ  1924 гъэм  Конституцэр  зэрахъуэкIри, Тыркум  ису  хъуар  тыркуу  ятхыу  щIадзащ.
    Апхуэдэу ящIа нэужь, адыгэбзэкIэ упсалъэуи, «сыадыгэщ» жыпIэуи ядэртэкъым. Абы щыгъуэм сэ япэ классым сыкIуати, си анэдэлъхубзэрат сщIэр. Хуэмурэ тыркубзэр зэзгъащIэрт, ауэ адыгэбзэ къысфIыхэхуэрти, егъэджакIуэм тезыр къыстрилъхьэрт – пэшыр зэрагъэплъыр собэти, абы иралъхьэн пхъэр унэм сихужурэ къызигъэхьырт. Гъэмахуэ хъумэ, ди вакъэр  щыдигъэхтырти, ди лъэгум къыщIэуэрт. Куэдрэ къыстехуащ ар.
    Мис апхуэдэ Iуэхухэрщ нобэрей ассимиляцэр къэзышар, лъэпкъыр зыхэсхэм яхэшыпсыхь щIэхъуар. Бзэр зымыщIэр, тыркум ират адыгэ хъыджэбзхэр куэд хъуащ.
    Къуажэм дыдэсу, сыщIалэ цIыкIуу, ди адэшхуэм деж молэри, динымкIэ егъэджакIуэри къэкIуауэ зэхэсхат. Сэ шей яхущIэсхьэну сылъаIуэри, сыщIыхьащ нэхъыжьхэр зыщIэсым. Адыгэ хъыджэбз гуэр тырку щIалэм иратыну унафэ ящIу арат. Молэр псалъэрт: «Хэт сыт жиIэми зыри къикIыркъым, хэт хэт дэкIуэнуми къурIэным итщ, я натIэм къритхащ». Ар щызэхэсхым, зы псалъэ къызатыну сылъэIуащ: «Ярэби, Алыхьыр тыркуу пIэрэ»? – сыщIэупщIащ сэ. Ар щIыжысIари? Адыгэ къуажэ 17 ист абдежи, сэ сщIэуэ хъыджэбз 23-рэ тыркум иратат, ауэ зы тырку хъыджэбзи къуажэм къыдашатэкъым.
    Нэхъ иужькIэ цIыхухэр еджащ, лэжьапIэ къагъуэтащ, къалэхэм Iэпхъуахэщ. Нобэ «сыадыгэщ» жызыIэр куэдщ, ауэ бзэр зыщIэр мащIэщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, адыгэр лIыгъэкIэ  зэрыхагъэшыпсыхьам  нэхърэ нэхъыбэу езыхэр интеграцэм ихьащ.
    — Къэрал  Iуэхуми, хабзэми куууэ хыбощIыкI, куэд бджащ. КIэщIу  жэуап  къетыт: адыгэхэр я хэкум зэрырахуам лъэпкъгъэкIуэдкIэ (геноцид) уеджэ хъуну?
    — ПсалъитхукIэ зэзгъэзэхуащ мы Iуэхум сызэреплъыр.  Адыгэр зытекIуэдар сыт жысIэри сызэупщIыжащ сэр-сэру: зэгурымыIуэныгъэ, щIэныгъэншагъэ, урыс лъагъумыхъуныгъэ, уэсмэн лъагъуныгъэ, къагурымыIуэ муслъымэныгъэ. ЯгъэкIуэдащ  адыгэр  мис  абыхэм. Дэр-дэруи дызэгурыIуакъым, къэралри къыдгурыIуакъым. Ди хабзэри и кIэм нэсу къыдгурыIуэжыртэкъым дэ. Хабзэ жыпIэмэ, Iэнэм щызэрахьэрауэ, жэнэзы хуэIухуэщIэрауэ, хьэщIэ гъэхьэщIэкIэрауэ ягугъэщ языныкъуэхэм. Хабзэм псори итт, ауэ къагурыIуакъым.
    — Уэ абыхэм ятеухуа тхылъ узэриIэм сыщыгъуазэщ. НэгъуэщI сытым утетхыхьа, конференцхэм жыджэру ухэтщ, сытым теухуауэ укъэпсалъэрэ?
    — Истамбыл дэт Хасэм и тхьэмадэу илъэсипщIкIэ сылэжьащ. Абы щыгъуэми, иджыри зиужь ситыр лъэпкъ Iуэхур дэгъэкIынырщ, абы и пэжыр къыщIэгъэщынырщ, ди псэукIэм хъуауэ хэлъымрэ мыхъумыщIэмрэ зэпкърыхынырщ.  Кавказым,  тхыдэм, Кавказ зауэм, абы и къежьэкIамрэ щхьэусыгъуэмрэ, нэгъуэщI куэдми сытетхыхьащ, тхылъ щхьэхуэхэр  дунейм къытехьащ. Ахэр сэбэп мэхъу хэхэс адыгэхэм къащIэхъуэ щIэблэм я блэкIар ящIэнымкIэ, я гупсысэр унэтIынымкIэ, ди тхыдэм еплъыкIэ гуэр хуаIэнымкIэ.
    — Уи   унагъуэкIэ   нэхъ   гъунэгъуу  укъэтцIыхуну  сыхуейт,  Рэхьми…
    — Си щхьэгъусэр абхъаз бзылъхугъэщ. Зи лъэпкъ, зи лъахэ фIыуэ зылъагъу щыIэмэ, ар етIуанэщ. Хэкупсэщ хуабжьу. Езыр профессорщ, университетым щолажьэ.
    Махьинуррэ сэрэ бын дгъуэтакъым. Ауэ абы и дэлъхум лIы иукIыу лъэхъуэщым щихуэм, илъэси 3-м иту хъыджэбз цIыкIу къыхуэнати, дэ къэтшащ тпIыну.
    ДэкIуэн хуей щыхъум, «псэлъыхъу пхуэхъур си деж къэгъакIуэ» жысIащ. Адыгэ фIэкIа естынутэкъым. Зэгуэрым къэкIуащ зы щIалэ, адыгэу жиIэу, ауэ и фэмкIэ зэрытыркур къэсщIащ. ЩIалэр згъэшынэри зыкъезгъэумысащ икIи афIэкIа хъыджэбзым къыбгъэдэмыхьэну унафэ хуэсщIри сутIыпщыжащ. Абы иужь абхъазыпщ гуэрым къытехъукIа щIалэм лъыхъу къигъэкIуащ. АрщхьэкIэ, си мурадым сытетти, згъэщIэхъуащ. Бурджы (си пхъум)  еджэн къиухри, лэжьэн щIидза нэужь, зы къэбэрдей щIалэ зригъэцIыхуащ. Абы и хъыбар щызэхэсхым, «си деж кърекIуэ» жысIащ. Уи фIэщ хъункъым, ауэ щIалэр ди унэ къыщыщIэбэкъуам и зыIыгъыкIэкIэ, и теплъэкIэ зэрыадыгэр къыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.
    — Дэнэ ущыщ? – сеупщIащ тыркубзэкIэ.
    — Уэлэхьи, Узун-Яйла сыщыщым, сыкъэбэрдейм, Мэрзейхэ сращIалэм, – къызитащ жэуап адыгэбзэ къабзэкIэ.
    ЩIалэм сепсалъэри, сигу ирихьащ, и адэкъуэшхэр лъыхъу къигъэкIуэну хуит сщIащ. Адыгэ  пщащэ н эсу  згъэсат хъыджэбзыр, адыгэ унагъуэ   ихьэну  сыхуейт. Езыри си жьауэм щIэкIакъым, жысIэм къедэIуащ, къыхихари игу дыхьэ щIалэщ. Бурджы адыгэ анэ гумащIэ хъуащ, пхъу гумащIэуи къысхущIэкIауэ дызэхуэгуапэу дызэкIэлъокIуэ. Сигу хэзыгъахъуэри? А зи гугъу сщIы хъыджэбзым зэтIолъхуэныкъуэу пхъуитI иIэщ – Гужанрэ Нэжанрэ. Гужан зымахуэ къэтIысауэ къызжеIэ: «Уэ адыгэ хъыджэбзыр зэрыщытыр пщIэрэ?».
    — ЩIагъуэу сщIэркъыми, кхъыIэ, къызжеIэ.
    — Адыгэ хъыджэбзыр ину Iэгу еуэркъым, уэрамым щрикIуэкIэ лъэбакъуэхъуу бакъуэркъым, тутын ефэркъым, ину псалъэркъым.
    — НэгъуэщI сыт хуэдэ хьэл хэлъ? – сыщIоупщIэ.
    — Иджыри зы щыIэщ, ауэ бжесIэнукъым.
    — Ди яку къыдэнэжынщ, щэхуу къызжеIэ, – щыжысIэм, си тхьэкIумэм къекIуэталIэри: «Адыгэ хъыджэбзыр адыгэ щIалэ дэкIуэн хуейщ», – жиIащ. Мис апхуэдэу адыгэпсэ яIу-ту игъэсащ ахэр Бурджы. А цIыкIухэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ, пшынэ йоуэ. Зыр пшынэ щеуэкIэ, адрейм сэ сыкъыдофэ.
    -Тхьэм куэдрэ уакIэлъигъэплъ гъащIэм и IэфIыр  зыхозыгъэщIахэм!
    Епсэлъар
    НэщIэпыджэ Замирэщ.

  • Адыгэбзэр къызэтенэным щхьэкIэ, дэ къыткIэлъыкIуэнухэр хуиту бзэм ирипсалъэу псэуным щхьэкIэ Iуэхугъуэ куэд лэжьын хуейщ. Бзэм егъэджэн къудейр къытщхьэпэну щыткъым, атIэ бзэмкIэ деджэу, бзэмкIэ едгъаджэу, щIэныгъэ бзэмкIэ зэдгъэгъуэту дыщытын хуейщ.
    Тхьэм къыдита, анэм къыддилъхуа бзэр тхъумэну ди пщэрылъщ. Тхьэм и пащхьэм дежи, ди нэхъыжьхэм я пащхьэм дежи. Ди Дунеир тхъуэжа иужь Тхьэр къызэрыдэупщIыну Iуэхугъуэхэм ящыщу къыщIэкIынщ мы упщIэхэр:
    – Бзэуэ уи лъэпкъым Сэ хуэзгъэфэщар пхъума Дунеим ущытетым?!
    – Къабзагъэу уи лъэпкъым Сэ хэслъхьар зепхьа?!
    – Уи анэ-адэм пщIэ хуэпщIрэт, аразы пщIахэ, ягу бгъэзэгъа?!
    – Бзэуэ ахэм къыбдалъхуауэ уи анэдэлъхубзэмкIэ уапсалъэрэт?!!!- жэуэ.
    Абы дынэмысми нобэ Урысей Федерацэми, мы Дунеишхуэми щыпсэу лъэпкъхэм я бзэм хуэдэщ ди адыгэбзэр. Адыгэ хабзэри, адыгэбзэри зеир адыгэ лъэпкъ къудеир аракъым, атIэ ар Дунейпсо щэнхабзэм (культурэм) еищ икIи адыгэ хабзэри адыгэбзэри абы ихъумэн хуейщ. Берлин университетым, Токио университетым, нэгъуэщI къалащхьэ университетхэм щаджыр адыгэбзэр. Моника Хёлиг нэмыцэ бзыльхугъэу Германием щыпсэу-щылажьэр «филологие щIэныгъэмкIэ доктор» зэрыхъуар адыгэбзэращ. Дунеим и дахагъэр тхъумэну дыхуеймэ, дэтхэнэ бзу цIыкIу уэрэд дахэ къизышыр зэрытхъумэм хуэдэу, Дунейпсо щэнхабзэри (культурэр), ди лъэпкъыри тхъумэну дыхуеймэ, ди адыгэбзэ дахэри дывгъэхъумэ!
    Ар дэтхэнэ зыми тхузэфIэкIынущ махуэ къэс дырипсалъэу, ди сабийхэм ядгъащIэу, анэдэлъхубзэкIэ едгъаджэу щытмэ. «Бзэр лъэпкъым и къэрагъул бжыхьщ» – жи1ащ Нэло Заур. Бзэр щыщыIэм дежращ, лъэпкъыр щыщыIэр. Лъэпкъым и хабзэр зэрызэрихьэр езым и лъэпкъыбзэращ. Адыгэ хабзэми и бзэр адыгэбзэщ.
    «Сэ сыцIыхущ» – жызыIэ псори цIыхукъым. ЦIыхум цIыхугъэ хэлъын, цIыху хабзэкIэ псэун хуейщ.
    «Сэ сыадыгэщ» – жызыIэ псори адыгэкъым. Адыгэу ущытмэ адыгэбзэр, адыгэ хабзэр пщIэн хуейщ, адыгэбзэм урипсалъэу, адыгэ хабзэкIэ упсэун хуейщ.
    «Сэ сымуслъымэн» – жызыIэ псори муслъмэнкъым. Умыслъымэну ущытыным щхьэкIэ муслъмэн диным и фарзхэр (шэрихьэтыр, къурIэныр) пщIэн хуейщ, а хабзэр бгъэзащIэу упсэун хуейщ» – ар къызжиIауэ щытащ, 1993 гъэм Джоланым (Район Голанских высот, Сирием деж) сыкIуауэ, Цей Джаудэт – адыгэ лIы губзыгъэ дыдэу, муслъымэну Дунеим тетыр зэчэнджэщым, пщIэ зыхуащIым, Сократ пэлъытэу нобэ адыгэ лъэпкъым диIэм. Динырылажьэ мусылмэнхэм я нэхъ еджагъэшхуэхэм ящыщщ Цей Джаудэт.
    СыткIэ дызэщхьэщыкIрэ цIыху лъэпкъхэр? Ди бзэмкIэ, ди лъэпкъ хабзэхэмкIэ. «Уэ уурыс, уфранцуз, уяпон, сэ сыадыгэ» – щыжытIэкIэ, ди бзэмрэ ди лъэпкъхабзэмрэ, щэнхабзэ (культурэ) ди адэжьхэм къытхуагъэнамрэщ дызэрыадыгэр къэзыгъэлъагъуэр. ИкIи а зэщхьэщыкIыныгъэр Дунеим и дахагъэщ! Лъэпкъ псори дызэхуэдэу щытамэ сытыт абы дахагъэу хэлъынур? Ауэ щыхъукIэ, ди лъэпкъ нагъыщэхэр дывгъэхъумэ!
    Мы тхыгъэр зыхуэгъэзар адыгэхэращ.
    Адыгэ, Къэбардей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес республикэхэм щыпсэухэм, Москва, Краснодар крайм (Къалащхьэм, Успенскэ районым, Хы фIыцIэ Iуфэм) щыпсэу адыгэхэм, Ставрополь крайм (Кочубей, Курской районхэм) ис адыгэхэм, Северная Осетия-Алания республикэм (Мэздэгу къалэми районми) щыпсэу адыгэ чристанхэми муслъымэнхэми.
    Мы тхыгъэр хуэгъэзащ Иордание къэралыгъуэм пщIэшхуэ щаIэу абы ис адыгэхэм, Сирием щыпсэу адыгэхэу адыгагъэ куэд зыдэслъэгъуахэм, Израилым ис, дахэу зызыхъумэжыфа, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж адыгэхэм, Германиемрэ Голандиемрэ щыпсэу адыгэу псэемыблэжу лъэпкъым зыщIэзгъакъуэхэм, Америкэм ис адыгэхэу къабзагъэрэ гуихарэкIэ лъэпкъым хуэлажьэхэм, нэхъыбэ дыдэу зы щIыпIэм щыпсэу, бжыгъэкIи мылъкукIи зэфIэкI ин дыдэхэр зиIэу Тыркум ис адыгэхэм. Францием ис адыгэхэу иджы дыдэ Адыгэ Хасэ къызэIузыхахэм. Дунейпсом тет адыгэу зэзэгъхэми, зэмызэгъыу тетхэми. Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ Египетым, Ливием щыпсэу «адыгэ кIуэдыжахэу» зи бзи зи хабзи зыщыгъупщэжа, зэгуэрэм адыгэм къызэрыхэкIауэ щытам нэхъ зымыщIэжхэми, адыгэ щэнхабзэр, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр нэхъ куу дыдэу зыщIэхэми.
    Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ щIэныгъэм емыпхауэ къызэрыгуэкI адыгэхэми, щIэныгъэрылажьэ лъэщхэми.
    «Хэкужьыр зыхъумар хэкурысхэращ, ауэ ар зэфIэзгъэувэжынур хэхэсхэращ»- жызоIэ. Хэхэсу щытауэ, гугъуехь псоми ебакъуэу «Хэкужьым и гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэщ, и гукъеуэри си гукъеуэщ, и хьэлъэри дэсшэчынущ»- жызыIэу зи Хэкужь къэзыгъэзэжахэми яхуэгъэзащ мы псалъэр.
    Сыхуейщ мы псалъэр янэсыну пщIэшхуэ зыхуэтщIу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэми, ЩIэныгъэмкIэ Дуней Адыгэ Академием и Тхьэмадэми, фIыкIэ дызыхуэупсэ, Адыгэ Хэкур ягъэщIэрэщIэжынкIэ дызыщыгугъ ди нэхъыщIэхэми, ди нэхъыжьыфIхэу куэдрэ дяпэ итынкIэ дызэхъуэхъухэми.
    Дэ, адыгэ псори, дызэщхьэщокI гупсысэкIэу диIэхэмкIэ, дуней еплъыкIэкIэ, дызыщыпсэу щIыпIэхэмкIэ, дин зетхьэхэмкIэ, Iуэху дызэлэжьхэмкIэ. Ауэ дэ псоми фIылъагъуныгъэ худиIэщ ди лъэпкъым, псори дыкъызэщIиубыдэу диIэщ зыуэ Адыгэбзэр, Адыгэ Хабзэр, Адыгэ Хэкужьыр.
    А щым я нэхъыщхьэр адыгэбзэрауэ щытщ. Адыгэ Хэкужьыр зыгъэдахэр адыгэ хабзэу лъэпкъым иIэращ. Адыгэ Хэкужьыращ адыгэ хабзэри, адыгэбзэри псэхуиту здызекIуэфыну щытыр, Къэралыгъуэ Хабзэми гуащIэ къащритыфынур Адыгэ Хэкужьым дежращ .
    Дэ къытщIэхъуэ сабийхэм ядгъэщIэн хуейщ ди адыгэжь Нарт эпосыр, адыгэ IуэрыIуатэр, адыгэ усакIуэхэмрэ, тхакIуэхэмрэ я тхыгъэхэр. Ахэр анэдэлъхубзэкIэ зэрытхам хуэдэу, ди лъэпкъым къыдалъхуа гупщысэхэр хамэ менталитетым имыгъэхьауэ къабзэу щIэблэм янэдгъэсыпхъэщ. Дыхуейщ КIэрашэ Темботи, ПащIэ Бэчмырзи, ЩоджэнцIыкIу Алии, Къубэ Шэбани, КIыщокъуэ Алими, МэшбащIэ Исхьэкъи, Щхьэлахъуэ Абубэчыри, ХьэдэгъэлI Асчэри, КъардэнгъущI Зэрамыкуи, Нэло Заури, МэфIэдз Сэрабии, Хьэкъун Бэрэсбии, Къуёкъу Нальбии, Дыгъужь Къурмэни, ХьэIупэ Джэбрэили, Ацкъан Руслани, Нэхущ Мухьэмэди, Бицу Анэтоли, Бемырзэ Мухьэдини нэгъуэщI тхакIуэ усакIуэ лъэщхэу зи цIэр мыбдеж къизмыIуэфахэми я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэрытхам хуэдэу ди сабийхэр едгъэджэну. Адыгэ лъэпкъым къыдалъхуа гупщысэ къабзэхэмкIэ дадэгуэшэн, ди лъэпкъым и къэкIуэнум епха гупщысэхэр адыгэбзэкIэ ди щIэблэм ялъэдгъэIэсын хуейщ.
    Дэ догугъэр ди сабийхэм Адыгагъэр дину къащтэжыну, Нарт IуэрыIуатэр ди лъэпкъым и блэкIам и уэсяту яIэну. Дунейпсо эпос жьантIапщэм я Тхьэмадэр адыгэбзэм къыдэунэхуа Нарт эпосращи, ХьэдэгъэлI Асчэр и «Нартхэр», «зэшибл-томиблу» къыдэкIар, дгъэпсэун хуейщ зэрыщытым хуэдэу, къыткIэлъыкIуэ ди щ1эблэр хуэдгъэхьэзырын хуейщ адыгэбзэкIэ абы еджэфу.
    Апхуэдэ зэфIэкI здэдгъуэтынури ди Хэкужьращ, апхуэдэ зэфIэкI къыдэзытынури Урысей Федерацэм и Хабзэхэращ.
    Хъуэтыкъуэ Самир дахэу ди пащхьэ къырилъхьащ Адыгэ Хэкум и Тхыдэр («История Черкесии», г. Санкт-Петербург, 2002 г.), ижь дыдэм къыщыщIэдзауэ нобэр къэсыху.
    ИлъэсипщIым пэблагъэу тригъэкIуэдащ абы а лэжьыгъэ адыгэ лъэпкъым дежи Дунейпсом дежи мыхьэнэшхуэ зиIэм. Куууэ хэлэжьыхьащ ар адыгэ тхыдэжьым нобэрей еплъыкIэкIэ. Дунейпсо еплъыкIэ захуэкIэ, еплъыкIэ пэжкIэ гъэнщIащ а лэжьыгъэр.
    Урысей Федерацэ Президентым и Администрацие УнафэщIым и дыIэпыкъуэгъу, етIуанэ класс нэгъыщэ зиIэ къэралыгъуэ чэнджэщакIуэ, къэрал Iуэхузехьэ лъэщ, Хъупсырокъуэ Назир щыжи1ащ тхыдэтхым къыдигъэкIа тхылъым и пэщ1эдзэ псалъэу:
    «Хъуэтыкъуэ Самир итха тхылъыщIэм гъэтIысауэ щIэныгъэ гъэпсыныгъэ зэриIэм нэмыщIу, сэ сыдихьэхащ а щIалэм шынагъэ игу къыримыдзэу ди блэкIам и Iуэху нэхъ гуащIэ дыдэхэм зэрытепсэлъыхьам.
    Япэдыдэу Кавказым я щIэныгъэ гупсысэкIэхэм ящыщу мыбдежращ дыщыIущIэр адыгэм и тхыдэр Хатт (Хьэт) цивилизацием (зэхэтыкIэм), Мейкъуапэ щэнхабзэм (культурэм) къыщыщIэдзауэ нобэрей гъащIэм къынэсыху лъэныкъуэ куэдкIэ зэдэплъагъуу, уеплъыфу.
    Сэ гъэщIэгъуэн къысщыхъуащ адыгэм и блэкIа гуIэгъуэрэкIэ, лъэпкъым ищхьэ фIыуэ езыгъэлъагъуж, зыгъэлъагэ Iуэхугъуэ куэдхэмкIэрэ гъэнщIа адыгэ хэхэсхэм я тхыдэм теухуа едзыгъуэхэр. Совет лъэхъэнэм пцIыкIэ гъэнщIа гупщысэхэм дырагъаджэт, Урыс Пащтыхьхэм я къэралыгъуэ унафэщIхэм адыгэ лъэпкъым кIэлъызэрахьа фIеягъэхэр зэрагъэпщкIуным, зэрыщIауфэным пылъхэурэ.
    ЖаIэр арат: Адыгэр егъэзыгъэкIэ, зауэрэ мафIэрэкIэ Хэкужьым ирамыхуауэ, атIэ Тыркум Iэпхъуэжын щIэхъуар ислам дин фанатизмэ адыгэм куэду яхэлъу щыта хуэдэу; гъэпцIагъэкIэ хамэщIым щIагъэхъуэпсарэ абдежым тхьэмыщкIагъэмрэ гъаблэмрэ ихьхэу; щIыгу къырамыту, ягъэпщылIу, ящэ-къащэхужу щытауэ».
    Хъупсырокъуэ Назир мы тхыгъэмкIэ дигъэлъэгъуащ, Урысей Федерацэм и япэрей Президент Ельцин Борис Кавказым ис лъэпкъхэм закъыхуигъазэуи жиIащ урыс пащтыхьхэр щыпсэуа зэманми, совет зэманми Урыс-Кавказ зауэм еплъыкIэу ди къэралыгъуэм деж щызэрахьар зэхъуэкIын зэрыхуеир.
    Тхыдэм уасэшхуэ ират лъэпкъ псоми, ауэ дэ адыгэхэр псорикI цIыкIуи ини тхыдэтхым хуэдэу ди тхыдэ тщIэжуэ дыщытын хуейщ. Адыгэбзэм еплъыкIэу хуидиIари зэтхъуэкIын хуейщ.
    «Адыгэбзэм дэнэ нэс уихьын? Къуажэм удэкIмэ бухащ. Ди сабийхэр абы щIеджэн щыIэкъым» жызыIэхэр ди лъэпкъыр зыгъэцIыкIу политикэу Пащтыхьыгъуэ Урысейми, Совет Властми зэрахьэу щытар дэзыIыгъхэращ. Эстонхэр зы мелуан иримыкъу пэтми иролажьэ, ироджэ, иропсэу эстоныбзэм. Мы Дунейм а бзэмкIэ ярыхохьэ эстонхэр. Адыгэбзэм ирипсэлъэфыр мелуанищым къохъу. ИкIи дыхуэныкъуэщ, икIи дгъэпсэун хуейщ ди лъэпкъыбзэр.
    Дэ фыкъыхудоджэ бзэм ирилажьэхэм фадэIэпыкъуну, иджырейхэм «фонд» жыхуаIэхэр зэхэфшэну, тхыгъэхэмкIэ фи гупщысэхэр къэвгъэлъэгъуэну, адыгэбзэм, адыгэ хабзэм фызэрыхуэныкъуэр къэфIуэтэну.
    НобикI дэ къытхэтщ адыгэбзэм мыхьэнэ езымыт. Апхуэдэхэр я гупщысэхэмкIэ къыддэгуашэтэмэ гуапэ къытщыхъунт. Апхуэдэ Iуэхугъуэми къигъэлъэгъуэр аращ – а цIыхур бзэм и Iуэхум зэригъэгумэщIращ. «Тхьэр щыIэу си фIэщ хъукъым» жызыIэм къегъэлъагъуэ Тхьэр зэрыщыIэр.
    Дэ ди гуапэщ адыгэбзэм фыщытепсэлъыхькIэ. Фытепсэлъыхь хамэбзэкIи, анэдэлъхубзэкIи. Адыгэбзэм и гугъу фщIыху абы и гуащIэм хуохъуэ. Ауэ нэхъыфIыр арат – адыгэбзэр хъумэным, адыгэбзэр зэрыпсэуным и гъуэгу дахэр, гъуэгу дэкIыпIэр къыхуэдгъуэттэмэ.
    Абы и IуэхукIэ куэд ялъытащ нобэ ди адыгэ Президентхэм. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж Президентым и лъэпкъым и бзэр ищIэнущ, и лъэпкъым анэдэлъхубзэкIэ (адыгэбзэкIэ) щIэныгъэ иригъэгъуэтынущ. Лидер (Ц1ыху пажэ) жыхуаIэр лъэпкъым и пажэращ. Ар сыт щыгъуи пылъынущ лъэпкъ Iуэхум, лъэпкъым и бзэм, и щэнхабзэм (культурэм) зиужьыным, лъэпкъыр зыгъэдахэ, зыгъэлъапIэ нагъыщэхэр хъумэным.
    Дэ зэдгъэпэщащ Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэ автономие Черкесск къалэм и деж икIи Урысей Федерацэм и хабзэм ипкъ иткIэ ар Къэралыгъуэ реестрым хатхащ.
    Дэтхэнэ адыгэри зэлэжьын хуейуэ щытыр, адыгэ лъэпкъ-щэнхабзэ автономиери зытелэжьыхьн хуейуэ тлъытэ 1уэхугъуэхэр мы къыкIэлъыкIуэхэращ:
    – Сабий IыгъыпIэхэр (сабий сад) гъэпсын хуейщ, илъэс къэс илъэсищ зи ныбжь сабийхэр щиIыгъыну къищтэу. Абдежым адыгэбзэрэ адыгэ хабзэкIэ ягъасэу, адыгэ уэрэдым, адыгэ къафэм хуагъасэу, адыгэбзэкIэ еджэфу еджапIэ щIыхьэгъуэм нэс яIыгъыну. Адыгэбзэм игъусэу урысыбзэр, инджлыбзэр фIы дыдэу ирагъащIэу щытын хуейщ.
    – А сабий гупыр еджапIэм щыщIэхьэм деж техуэу ахэр зэреджэну тхылъхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ гъэхьэзырын хуейщ..
    – Апхуэдэу адыгэбзэкIэ псори щадж курыт еджапIэм урысыбзэр, инджлыбзэр кууэ ирагъащIэурэ ирагъэджэн хуейщ.
    – Дэтхэнэми ищIэн хуейщ бзищ: и лъэпкъыбзэр (адыгэбзэр), и къэралыгъуэбзэр (урысыбзэр), Дунейпсор зэрызэпсалъэ бзэр (инджлыбзэр).
    – Дэ ди гуапэщ адыгэ лъэпкъым чристан дини муслъымэн дини зэрызэрихьэр. Дин зэщымыщу тIу зезыхьэ лъэпкъым къегъэлъагъуэ дин псоми шэчыныгъэ зэрахуиIэр , икIи ар лъэпкъым и дэхагъэм, и тхыдэм щыщщ. Гуапэ дыдэщ адыгэ чристанхэм езыхэм къагурыIуэурэ ябзэкIэ (адыгэбзэк1э) дин Iуэхухэр зэрызэрахьэр.
    – Муслъымэн динри чристан динри адыгэбзэкIэ курыт еджапIэм щаджын хуейщ, иужькIэ ди лъэпкъым дин иIыгъхэр адыгэбзэкIэ зэрихьэн папщIэ. Абы бзэри динри егъэкъабзэ, быдэ ещI. Диныр адыгэбзэк1э щызепхьэк1э абы адыгэбзэр ихъумэнущ.
    – Илъэс пщыкIухкIэ сабий IыгъыпIэмрэ (илъэсиплI) курыт еджапIэмрэ (илъэс пщыкIутI) апхуэдэу ирагъэджа щауэм е пщащэм и еджапIэ нэхъыщхьэ щIыхьэныр нэхъ пасэу гъэхьэзырауэ щытын хуейщ. Абы епхауэ Америкэм, Англием, Испанием, Германием, Москва, Къэбердей-Балъкъэрым, Адыгей Республикэм я университет нэхъыфI дыдэхэм, ди щIалэгъуалэу а адыгэбзэкIэ курыт еджапIэм щIэныгъэ щызыгъуэта, урысыбзэмрэ инджлыбзэмрэ кууэ зыджахэр щIыхьэным зэзэгъыныгъэ (договор) гъэбыда къахуэдгъуэтауэ щытын хуейщ. СытмикI, апхуэдэу щыхъук1э, дэ зи гугъу тщIы еджапIэр къэзухым «Гарантие» иIэнущ Университетым щIыхьэну.
    – Адыгэ еджапIэм иIэн хуейщ сертификат, а еджапIэр къэзухар абы къыщырата тхылъымкIэ зэзэгъыныгъэ зыдэтщIа нэгъуэщI къэралхэми, дэ ди къэрал университетхэми экзамен хэмытыжу ящтэну гъэпсын хуейщ.
    – Адыгэбзэм и Институт зэIутхын хуейщ, Америкэми, Франциеми, Голандиеми, Германиеми, Япониеми, Тыркуми нэгъуэщI къэралхэми къикIыурэ ди деж адыгэхэри, хуеймэ нэгъуэщI лъэпкъхэри, щеджэн щхьэкIэ. Адыгэхэм зэпыщIэныгъэ лъэщ мы Дуней псом щыдиIэнущ итIанэ. Адыгэр зэришэлIэнущ абы, зэгуригъэIуэнущ.
    – АдыгэбзэкIэ IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хурагъаджэу еджапIэхэр (профессиональные училища, лицеи, колледжи) дгъэпсын хуейщ.
    – Лъэпкъым иIэн хуейщ Университет, адыгэбзэкIэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хурагъаджэу.
    – А псори дэ зэфIэтхын хуейщ хабзэкIи мылъкукIи Урысей Федерацэр къыддэIэпыкъуурэ, дэ а къэралым дырилъэпкъыу дыщилъытэк1э.
    – Мы 1ухугъуэхэр гъэпсыным дэIэпыкъун хуейщ мылъку зезыгъэкIуэф икIи абы щыщ ахъшэ адыгэбзэм зиужьыным хуэзыгъакIуэ цIыхушхуэхэр, адыгэу ди Хэкужьым щыпсэухэр, нэгъуэщ1 фондхэр, хамэщIым щыпсэу адыгэхэу ХэкужьымкIэ къаплъэхэр, зигурэ зипсэрэкIэ Хэкужьым пыщIахэр.
    – Дэ къыддэIэпыкъун хуейщ Дунейпсо организацэхэр, фондхэр, ЮНЕСКО-р.
    Дауэ мыхъуми илъэс къэс нэрыбгэ щэ бжыгъэ адыгэбзэрэ адыгэ хабзэрэкIэ гъэнщIауэ, университетхэм щIэдгъэтIысхьэфыу гъэпсын хуейщ.. Ахэм Университетхэр къауха иужь къагъэзэжынущ я Хэкужь.
    Апхуэдэ Iуэхугъуэ зепхьэныр псынщIэщ, упылъу щытмэ, нэрылъагъуу дахэщ, фIыщ.
    – Апхуэдэ сабий IыгъыпIэм къащтэну къанхэр лъэпкъкIэ зэхэдзауэ щытын хуейкъым, атIэ ар урысуи ирехъу, абази, балъкъэри, нэгъуеи ирехъу, ауэ и анэ-адэм зэзэгъыныгъэ дэщIауэ адыгэбзэкIэ щIэныгъэ зыгъуэтыну хуей сабийхэращ.
    – Адыгэбзэр, адыгэ хабзэр мыкIуэдыным шхьэкIэ, бзэмрэ хабзэмрэ зыгъэпсэун ц1ыхущ дызыхуеир, мыхъумэ лъэпкъ щхьэхуэ хэубыдыкIакъым.
    -Абы дэщIыгъуу университетхэм щIалэегъаджэхэр (егъэджакIуэхэр) щыгъэхьэзырын хуейщ, адыгэ курыт еджапIэм, адыгэбзэ институтым, Адыгэ университетым щезыгъэджэнухэр.
    – ЕджакIуэхэр зэрырагъэджэну Программэр Урысей Федерацэм урысыбзэкIэ гъэунэхуауэ иIэ Программэр зи лъабжьэращ.
    – Тхылъ сабийхэр зэреджэнухэр гъэхьэзырын-зэдзэкIын хуейщ адыгэбзэкIэ: хьисэпри, химиери, физикэри, ботаникэри нэгъуэщIхэри.
    «АдыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейщ»,- щыжысIэкIэ абы зэдзэкIын куэд хэлъкъым: щIэныгъэ щхьэхуэ къэс езым и бзэ щхьэхуэ иIэщ. Хьисэпыр зэрытхари зэраджри урысыбзэкъым ик1и инджылызыбзэкъым, дэ къызэрытщыхъум хуэдэу, атIэ хьисэпыбзэщ. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи хьисэп нагъыщэхэр зыщ я мыхьэнэкIи я сурэткIи. Радикалыр v адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи, инджлыбзэкIи зыуэ щытщ.
    Химием дежи, дэтхэнэ бзэмкIи Н2О-р – псыщ. Апхуэдэщ щIэныгъэ псорик1. ИкIи псынщIэщ ахэр зэбдзэкIыну, ауэ упылъын хуейщ, зэман ебгъэхьын хуейщ.
    Адыгэ мэкъамэ дахэхэр зэратхри урыс, инджылыз, испан мэкъамэ зэратхри зы бзэщ – мэкъамэбзэщ, музыкэм и бзэщ. Абы нэрылъагъу ещI музыкэ щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыным щхьэкIэ узыхуэныкъуэр мэкъамэбзэр зэрыарам.
    Шахматым езым и бзэ иIэщ, икIи е2-е4 жэуэ щыптхкIэ ар инджылызми, урысми, адыгэми къыгуроIуэ, ар лъэпкъыбзэкъым, атIэ шахмат щIэныгъэм и бзэщ.
    Бзэр зэзыгъэпэщыжа лъэпкъхэу щапхъэ дэгъуэ дыдэхэр щыIэщ. Журтхэм (еврейхэм) илъэс минкIэ иримыпсалъэжауэ журтыбзэ Израилым деж зэрагъэпэщыжащ. Нобэ журт сабийхэм журтыбзэкIэ щIэныгъэ ирагъэгъуэт. Тыркухэм я бзэр ягъэкъэбзащ. Абы нэхъ зэхэтхъуа гъуэтыгъуейт, ауэ тыркубзэр ягъэкъабзэжри зэрагъэпэщащ тыркубзэ къабзэ, икIи сабийхэм щIэныгъэ зэрагъуэтыр тыркубзэщ.
    Тыркубзэр нэсу зыухуахэм адыгэм и бын куэди яхэтщ. Щапхъэу къэпхь хъунущ тхакIуэу Омер Сейфиддин (Хьэткъуэ), мы Дунейпсо литературэм и «классику» къалъытар.
    ЩыIэкъым бзэ цIыкIу е бзэ ин. ЩыIэу щытми адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм, нэхъ дахэхэм, нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-Iэрыхуэ дыдэхэм ящыщ. Дунейпсо бзэщIэныгъэм къызэрилъытэмкIэ адыгэбзэм и мыхьэнэр къызэрымыкIуэу инщ. Абы къикIуа гъуэгур апхуэдизкIэ кIыхьщи уасэрэ пщIэуэ бзэщIэныгъэлIхэм хуащIыр мылъытэщ. Адыгэ-Абазэ бзэ гупыр зыхыхьэ Ищхъэрэ-Кавказ бзэ быным и ныбжьыр индо-европей, алтай, угро-фин бзэ бынищым зэхэту я ныбжьым хуэдизщ. Абыми къыхэкIыу дэтхэнэ зы адыгэми ди анэдэлъхубзэр тхъумэн хуейщ, дгъэпсэун хуейщ.
    «ДиIэкъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну! Тхъумэн-дгъэпсэун жыхуэтIэм къикIыр зыщ – нэхъыбэу дырипсэлъэн, дырилэжьэн, Дунеим дырытетын, дыреджэн, езыри едгъэфIэкIуэн»- жиIауэ щытащ Хьэкъун Бэрысби, еджагъэшхуэ, ботаникэ-мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ тхылъ гъэщIэгъуэнхэр адыгэбзэкIэ зытхыу къыдэзгъэкIам. Хьэкъун Бэрысби хуэдэхэм яхузэфIэкIынущ адыгэ курыт еджапIэр зыхуэныкъуэну, ботаникэмрэ, мэкъумэш щIэныгъэхэмрэ епхауэ сабийхэр зэреджэну тхылъхэр адыгэбзэкIэ тхуагъэхьэзырыну. Нэгъуэщ1 адыгэ щ1эныгъэрылажьэхэми ягъэхьэзырыфынущ апхуэдэ тхылъхэр.
    Щапхъэ дахэу щыIэщ нобэ Къэралыгъуэм имейуэ, цIыху щхьэхуэхэм къызэрагъэпэщауэ бзэщIэныгъэ университетхэр. Урысей Федерацэм и деж нэхъыфI дыдэхэм хабжащ апхуэдэ университету адыгэ бзылъхугъэ щIэныгъэрылажьэ бзэщIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА и академик Сэкий Риммэ къызэригъэпэщар.
    «Адыгэбзэм къэкIуэн иIэкъым»- жызыIэм дыкъегъапцIэ, ар академик тIуащIэу щытми. Псори зэлъытар бзэр зей лъэпкъращ. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдэхэнущ, игъэкъэбзэнущ. Апхуэдэ лъэпкъми езым хуэфащэу Дунейпсо бзэщIэныгъэм къызэдагъэува бзэ Iуэхур зэфIэзыхын Тхьэмадэ Тхьэм къыритынущ.
    Урысым урысыбзэр игъэкъэбзэн игугъэщ икIи сыт щыгъуи иолэжь а Iуэхум. Урысей Федерацэми и Хабзэм жиIэр аращ: Дэтхэнэ цIыхуми бзищ зэвгъащIэ: фи лъэпкъыбзэр, урысыбзэр, хамэщIыбзэр.
    Аращи дэри дытевгъэувэ щIэныгъэбзэм, адыгэбзэ лъабжьэ едывгъэти! Адыгэбзэри тхъумэнущ, щIэныгъи нэхъ куууэ дгъуэтынущ, лъэпкъри къызэтена хъунущ.
    «Iуэху мыублэ блэ хэсщ» – жеIэ адыгэм. Iуэхур щIэбдзэмэ кIуэнущ.
    Дытевгъэувэ зы гъуэгу, и гъащIэр кIыхь хуэдывгъэщI адыгэбзэм, ди дадэжь нанэжьхэм къащIэнам! Ди анэ-адэхэм ябзэр, ди Хабзэ дахэм и бзэр къахуэдывгъэгъанэ ди къуэрылъху пхъурылъхухэм!
    Ди лъэпкъыр къызэтенэну дыхуейуэ щытмэ, ди адыгэ хабзэр псэуну дыхуейуэ щытмэ, зы гъуэгу закъуэщ щыIэр – Ди щIэблэм адыгэбзэкIэ щIэныгъэ ядгъэгъуэту дгъэпсын хуейщ.
    НэмыщI гъуэгу щыIэкъым! Къэралыгъуэ хабзэкIэ – Урысей Федерацэм и ХабзэкIэ – ди сабийхэм щIэныгъэ я анэдэлъхубзэкIэ ягъуэту щытын хуейщ!
    «АдыгитI зэхуэзэмэ зэзэгъкъым»- жэуэ япэ дыдэ жызыIар адыгэ лъэпкъым и бийщ. Зэхуэзахэр адыгэу щытмэ, адыгэ хабзэкIэ къызэдекIуэкIмэ дауэрэ ар зэмызэгъынрэ?! А тIур адыгэу щытмэ зыр зым хуэсакъынущ, ихъумэнущ. Ахэр адыгэу щытмэ! Дэри дыадыгэу дыщытмэ, е адыгэ дыхъужыну дыхуеймэ дызэкъуэвгъэувэ, зыдывгъэхъумэж.
    УсакIуэ Бемырзэ Мухьэдин «Уадыгэным къикIыр» фIэщыгъэцIэ зиIэ усэм щыжеIэ:
    Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
    Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ.
    АдэкIи щIоупщIэ:
    Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?!
    Къэвгъуэти тхыдэм зэ щищIыж ди гугъу,
    Ди гъащIэ тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!
    Сыт щыгъуи зытхъумэжурэ дафIэпсэуащ дигъащ1эм, нобикI дыкъикIын хуейщ дызэрыт щытыкIэм, ноби псэук1э тэрэз къэтщтэжын хуейщ!
    Апхуэдиз зи лъэпIагъ, зи лъэгагъ мы Дунеишхуэм цIэрыIуэ щыхъуа Адыгагъэр зей лъэпкъым ар тхъэжурэ къигъэщIакъым, атIэ махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэс елэжьурэ, зыкIэлъыплъыжурэ, зихъумэжурэ, зэригъэпэщурэ, телъэщIыхьурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ, апхуэдэурэ Адыгэ зищIащ адыгэм. ИкIи нэхъыбэ дыдэу а фIагъ псор зэзгъэпэщар адыгэ бзылъхугъэращ, абы и губзыгъагъэращ.
    Адыгагъэр зэхэзгъэувари, хъулъхугъэр (цIыхухъур) адыгэлI зыщIари мы Дуней псом я нэхъ губзыгъэу Адыгэ бзылъхугъэращ. ИджырикI Адыгэ Лъэпкъым и гугъапIэр, бзэри хабзэри къэзыIэтыжыфынур Адыгэ бзылъхугъэращ!
    Нобэ «Бзэм сыхуэлэжьэнущ, зы Iыхьэ тIэкIу хэслъхьэнущ», жызы1э дэтхэнэ ц1ыхуми ар зэригъэпсын гъуэгу игъуэтынущ. «ДэIэпыкъуэгъу мылъкукIэ сыфхуэхъунущ»-жызыIэм зы сом, сомипщI нэхъ имыIэми фондхэр зэ1уфхи хэфлъхьэ. Сом бжыгъэу хэфлъхьэм елъытакъым фIагъыу къэфхьынур, атIэ зэрыхэфлъхьэращ нэхъ лъапIэр, адыгэбзэм хуэгумэщIым и бжыгъэр нэрылъагъу зэрыхъунуращ.
    Тхьэм иригъэф1ак1уэ адыгэбзэр! Гъуэгу техьэ тенэгъым. Тхьэм гъуэгу Махуэ тришэ ди адыгэбзэр!

  • 21.02.2015
    Для тех, кто впервые знакомится с деятельностью Русфонда
    Русфонд (Российский фонд помощи) создан осенью 1996 года для помощи авторам отчаянных писем в газету «Коммерсантъ». Проверив письма, мы размещаем их в газетах «Коммерсантъ» (Москва), в газетах «Ставропольская правда», «Ставропольский бизнес», на сайтах rusfond.ru, livejournal.com, «Эхо Москвы», Здоровье@mail.ru, в эфире «Первого канала», на телеканалах ГТРК «Ставрополье», «СТВ», а также в 51 печатном, телевизионном и интернет-СМИ в различных регионах РФ.
    Решив помочь, вы получаете у нас реквизиты фонда и дальше действуете сами либо отправляете пожертвования через систему электронных платежей. Возможны переводы с кредитных карт, электронной наличностью и SMS-сообщением, в том числе из-за рубежа (подробности на rusfond.ru). Мы просто помогаем вам помогать. Читателям и телезрителям затея понравилась: всего собрано $183,5 млн. В 2015 г. – 114 864 354 руб.
    Мы организуем и акции помощи в дни национальных катастроф. Фонд – лауреат национальной премии «Серебряный лучник». Президент Русфонда – Лев Амбиндер, лауреат премии «Медиа-менеджер России» 2014 года в номинации «За социальную ответственность медиа-бизнеса».
    Реквизиты: 
    Благотворительный фонд «РУСФОНД», ИНН 7743089883, КПП 774301001, р/с 40703810700001449489 в ЗАО «Райффайзенбанк» г. Москва, к/с 30101810200000000700, БИК 044525700.
    Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.
    Адрес фонда: 125252, г. Москва, а/я 50; rusfond.ru; e-mail: rusfond@kommersant.ru.
    Телефоны: в Москве 8-800-250-75-25 (звонок бесплатный, благотворительная линия МТС), факс 8-(495)- 926-35-63.


    Русфонд в Ставропольском крае: 8-928-328-02-09, rusfond26@mail.rusk-news@mail.ru бюро Русфонда в Cтавропольском крае.
    21.02.2015
    Русфонд: Как помочь ребенку
    Основные способы перевода пожертвований в Русфонд
    1.Через банк
    Прийти с реквизитами фонда (см. ниже) в любой банк и сделать перевод. Внимание: Сбербанк не облагает переводы в Русфонд комиссией. В строчке «назначение платежа» обязательно укажите, какому ребенку конкретно вы хотите помочь (Например: Пожертвование на лечение Имя Фамилия (ребенка в данной публикации СМИ). НДС не облагается).
    2. Через терминал QIWI (КИВИ)
    Выберите кнопку «Оплата услуг», затем «Другие», затем кнопку «Благотворительность» и Русфонд («Российский фонд помощи»). Введите свой номер телефона и внесите пожертвование. Внимание: эта помощь безадресная. Если вы хотите, чтобы пожертвование поступило именно детям из Ставропольского края или конкретному ребенку, то после перевода сообщите его имя и фамилию нам по телефону: +7 (928) 328-02-09.
    3. Через банковскую карту
    Зайдите на страничку Русфонд в Ставропольском крае http://rusfond.ru/stavropol, выберите раздел «Как помочь» и отправьте деньги с банковской карты Visa или MasterCard.
    4. Другие способы
    На сайте rusfond.ru вы найдете и другие способы перечисления пожертвования и сможете выбрать для себя наиболее удобный. Например, получить и распечатать счет для оплаты в любом салоне связи «Евросеть», «Связной», МТС, «МобилЭлемент», «АльтТелеком», оплатить через кошелек Rbk Money, Webmoney, через систему Яндекс.Деньги, «Contact» и «Лидер», получить квитанцию для перечисления через Почту России.
    21.02.2015
    Оправдание добра: Улыбка ребенка объединяет миллионы людей
    Дорогие друзья! SK-NEWS.RU поддерживает благотворительный проект Русфонда, стартовавший в Ставропольском крае. Эта страница будет выходить регулярно с письмами попавших в беду людей. Им нужна помощь, у них тяжелобольные дети и нечем платить за спасение. Вообще-то эта страница для всех: для отчаявшихся людей и для людей сострадательных, способных помочь.
    17.09.2014
    Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
    Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

  • Конкурс, объявленный среди учащихся 9-11 классов, оказался разнообразен географически, участвовать в нем съехались 160 ребят, причем не только из нашей республики, но и из Карачаево-Черкесии, Адыгеи, Ставропольского края. Основная часть прошла в Национальной библиотеке имени Т. К. Мальбахова, где старшеклассники писали очное сочинение.
    «Были предложены десять ключевых слов, из которых ребята выбирали те слова, которые они могли бы обыграть, развить и изложить в своих сочинениях. Никаких ограничений не было», –  пояснил корреспонденту РИА «Кабардино-Балкария» Мурат Табишев, руководитель ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы имени Кази Атажукина.
    Он добавил, что конкурс получился интернациональным, участие в нем приняли и представители других национальностей, изучающих адыгэбзэ.
    За каждое место ребята получат денежные призы, а те счастливчики, кто получил первое место в любой из четырех номинаций, решением ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы будут получать стипендию имени Кази  Атажукина в течение всего года. Помимо этого любой участник конкурса, при условии поступления на факультет черкесского языка, в течение двух лет будет получать вышеназванную стипендию.
    «Объявление конкурса вызвано желанием стимулировать интерес к изучению своего языка среди подрастающего поколения. Сочинения были оригинальны каждое по-своему, умение изъяснять художественно оформленную мысль среди молодых людей радует, и если среди конкурсантов найдутся желающие поступить на факультет черкесского языка, наша миссия будет выполнена. Во время конкурса о таком желании заявили уже семь человек», – сказал Мурат Табишев.
    Ассоциация имени Кази Атажукина действует уже на протяжении двух лет, выявляя талантливых подростков и поддерживая интерес к изучению родного языка.
    © РИА «Кабардино-Балкария», 2014

  • Гъыщ Казбек я 11-рэ В классым ис еджак1у.
    2012-рэ илъ.
    Адыгэ хьак1эщыр.
    «ХьакIэ»  мы гущыIэр адыгабзэм къызхэхьагъэр адыгэ лъэпкъым, адыгэ цIыфмэ азфагу зэфыщытыкIэ гъэнэфагъэхэр илъы зыхъугъэм щегъэжьагъэн фае. Адыгэ лъэпкъыр анахь лъэпкъыжъэу Кавказым исмэ ащыщ. Арэу зыхъукIэ, мы гущыIэм ыныбжь илъэс мин пчъагъэкIэ плъытэн  плъэкIынэу къысщэхъу.
    Унагъор адыгэмкIэ осэнчъэу щытыгъ. Ащ ис цIыфмэ азыфагуи хэбзэ гъэнэфагъэхэр илъыгъ. А пстэуми япхыгъэу адыгэм ипсэукIэ, ищагу ыгъэпсыщтыгъэ. Псэуалъэу ышIыщтыгъэхэр, непэ тлъэгъурэ мыжъо, чырбыщым ахэмышIыкIыгъагъэми, лъэхъанэу зыщишIырэм елъытыгъу, псэуалъэ пэпчъ чIыпIэ гъэнэфагъэ щагум щаубытыщтыгъэ.
    Амал горэ зиIэу, зышъхьэ зылъытэу, уасэ зыфэзышIыжьырэ адыгэ пэпчъ ищагу хьакIэщ дэтыгъ. Ащ ипчъэ хэт фэдэрэ хьакIэмк1и зэIухыгъагъ.
    ХакIэщыр апэу узIуорэ псэолъагъ. Къэлапчъэм пэмычыжьэу агъэуцущтыгъ. ХьакIэщ пчъэIум Iудзыгъэу шышIоIу агъэуцущтыгъ. Ар мыгъум дэдэу ыкIи мыпсыгъо дэдэу чъыгыпкъэу, къутэмабэ щызэбгырыкIэу къыхахыщтыгъ. Пытэу чIыгум хатIэщтыгъ. ШхомлакIэр шIохадзэмэ къышIомызынэу къутамэхэр пахыкIыщтыгъ. ШышIоIум ыщэчын фэягъэ шы хьэкъу-жъокъу зытIущым акIуач1э.
    Джы хьак1эщ унэм тихьан. Унэ кIоцIыр хъоо-пщаоу, гуIэтыпIэу агъэпсыщтыгъэ. ХьакIэмэ апай гъолъыпIэ зытIу итэу, тIысыпIэхэри хьакIэщым рагъэуцощтыгъ. ГъолъыпIэм ышъхьагъ алырэгъу зиIэм пилъэщтыгъ. ащ ыкIыIукIэ  лъытэныгъэ ин зыфашIырэ хъулъфыгъэу унагъом исыгъэм иIэшэ-шъуашэ палъэщтыгъ.
    Унагъом иблагъэми, иIахьылми е зыпарк1и фыщымытми зэригъэлъэгъунхэу, зыщигъэпсэфынэу къахахьэрэр ары адыгэхэр хьакIэкIэ заджэщтыгъэхэр.
    ХьакIэ къызфэкIогъэ унагъор илыягъэу гумэкIыщтыгъ. ХьакIэм гъогууанэ къыкIугъэу, пшъыгъэу щытмэ, бэ тырамыгъашIэу гъомылэ хьазырэу яIэм щыщ фырахьэщтыгъ, хагъаIэщтыгъ. Адыгэ бзылъфыгъэ Iушэу, унэгъо тэрэз щапIугъэм гъэтIылъыгъэ IэпэчIэгъанэ имыIэу хъущтыгъэп. Ар къеушыхьаты мы гущыIэжъ дахэм: «ХьакIэ къэкIощт Iори гъэтIылъ, бэрэ щылъыгъ пIоу умышхыжь». ХьакIэм гъомылэм ишIу фызэблахыщтыгъ. ХьакIэр щысын хьак1эмэ, е псынкIэу тэджыжьынэу щытмэ кIэпщыр пчъаблэм зэрэпилъагъэмкIэ къашIэщтыгъэ.
    ХакIэм гухэлъэу иIэмкIи, зыщежьэжьыщтымкIи бысымыр еупчIыщтыгъэп, хэбзагъэп. Ежь хьак1эм къы1омэ арыгъэ зиш1эщтыгъэр.
    ХьакIэр щысын хьакIэмэ иши чIыпIэ къыфагъотыщтыгъэ, агъашхэщтыгъ, бэрэ щымысыщтымэ шышIоIум дэжь щагъашхэщтыгъ.
    ХьакIэщыр, ныбжьыкIэхэр пIугъэн гъэсэгъэнхэмкIи, чIыпIэшIоу щытыгъ. ХьакIэр зэрагъэлъэгъунэу, рамгъэзэщынэу чылэм лIышIоу дэсмэ бысымым макъэ аригъэIущтыгъ къакIощтыгъэх. НыбжьыкIэу ащ къекIуалIэщтыгъэри
    мэкIагъэп.
    ХьакIэми, ар лIы цIэрыIоу лIы шъыпкъэу щытыгъэмэ, хэгъырэйхэми къэбар гъэшIэгъонэу, акъыл зыхэпхынэу къаIотэн алъэкIыщтыгъэр бэ.
    ХьакIэщым унагъом ис хъулъфыгъэу жъы хъугъэу, зишыуанэ зэтезымыхыщтыгъэу, зилIыгъэ чIып1абэмэ ащызыушэтыгъэмкIи, зэщтегъэупIэ дэгъоу щытыгъ. Пчыхьэрэ  ащ фэдэ лIым дэжь ежь фэдэуи нахь ныбжьыкIэхэуи чылэм адэсхэр къакIощтыгъэх, якIэлэгъум алъэгъугъэхэмрэ, къяхъулIагъэхэмрэ агу къагъэкIыжьыщтыгъэх. Ащ фэдэ къэбархэр, ныбжьыкIэхэр пIугъэнымкIэ, яшIэныгъэ, ягулъытэ нахь куу хъун, зиушъомбгъунымкIэ уасэ зимыIэ амалэу щытыгъ. ХьакIэщыр ныбжьыкIэхэмкIэ ублэпIэ еджапIэу щытыгъэу пIон плъэкIыщт.

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжыр (унафэщIыр Пщыбий Светланэщ) сыт щыгъуи цIэрыIуэщ ирагъэкIуэкI егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэмкIэ, ягъэхьэзыр IэщIагъэлIхэмкIэ. А Iуэхугъуэм къыдэкIуэу колледжым дапщэщи щокIуэкI гъэсэныгъэм епха лэжьыгъэ купщIафIэхэри. ЩIалэгъуалэр адыгэм игъащIэми къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэм хуэущииным, лъэпкъ гъэсэныгъэ яхэлъхьэным хуэгъэпсат колледжым иджыблагъэ щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхуэсыр. Ар епхат Адыгэхэм (шэрджэсхэм), Адыгэ фащэм я дунейпсо махуэхэр гъэлъэпIэным.
    «Хабзэр Iэт, лъэпкъым къуэт!» къыхуеджэныгъэм щIэту екIуэкIа зэхыхьэм жыджэру хэтащ колледжым и студентхэр, абы адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж лэжьакIуэ пашэхэр, IэнатIэм и унафэщIхэр. Ахэр псори щызэхуэсат еджапIэм и щIыбагъ пщIантIэшхуэм.
    ГуфIэгъуэм екIуу къыхузэрагъэпэщат а пщIантIэм и утыкушхуэр. ДэнэкIи щыплъагъурт «Дызэкъуэтмэ, дылъэщщ!», «Сэ сыадыгэщ, ар ину жызоIэ!», «Си бзэ — си псэ, си дуней!», «Фарзщи, адыгагъэм фемыIусэ, ар псэунщ, бэуэхукIэ зы адыгэ», «Утыку зэрихьэр лъапэщи, къызэрикIыжыр напэщ!», «ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу», «Хабзэр лъэпкъым и набдзэщ» хэкупсэ къыхуеджэныгъэхэр, «Уи анэбзэр гъафIэ, Ар бгъэ дамэу шэщI. Адэжь и жьэгу мафIэу, Тхуахъумам ар пэщI», «Мы уэмрэ щIымрэ яку дэт адыгэр, Зэдэпсэуну хъуэхъур доIэт! Маржэ, адыгэхэ, фэ жыфIэрей: Си лъэпкъ, си тхыдэр — си дунейщ!», «Адыгэ къафэ, Адыгэ къафэ, Адыгэм псэуэ иIэр уэращ. «Адыгэ щIылъэ, Адыгэ уафэ», — ЖезыгъэIэжыр уи фащэращ!», «Гъагъэ, бжьыфIэ, си Адыгэ лъахэ, Гугъэ нэхуу уиIэр уэ къыбдрехъуж. БгъэIун уи цIэр зы зэман плъэкIащи, Ар ди гъащIэ хабзэ хэткIи ирехъуж!» усэ сатырхэр.
    ГуфIэгъуэ зэхуэсыр къызэIуахащ икIи ирагъэкIуэкIащ студент пашэхэу Къуэдз Аслъэнрэ Дэхъу Аидэрэ. Къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуа нэужь, ахэр тепсэлъыхьащ Адыгэхэм, Адыгэ фащэм я дунейпсо махуэхэм я къекIуэкIам.
    — ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгур кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. Апхуэдэу щытми, адыгэхэр тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь къэзыкIуа лъэпкъ уардэщ. Адыгэ-абхъаз-абазэ лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар зыдж еджагъэшхуэ куэдым къызэралъытэмкIэ,        адыгэхэм я къежьапIэу убж хъунущ илъэс минитхукIэ узэIэбэкIыжмэ щыIа Хьэт  къэралыгъуэр. Ди лъэпкъыр езыр сыт щыгъуи зэрызэджэжу щытар — адыгэщ, бзэуэ тIурылъри адыгэбзэщ; гъащIэ щIыкIэу, гъэпсыкIэу, дуней тетыкIэу, цIыху зэхущытыкIэу  диIэм зэреджэр адыгагъэщ, адыгэ хабзэщ. Адыгэхэм къэткIуа илъэс мин бжыгъэ хъу гъащIэ гъуэгум нэгъуэщI лъэпкъхэм къытфIащауэ, къридэджэу щытауэ тхыдэм цIэ куэд хэтщ. НобэкIэ дэ дуней псом дыкъацIыху «адыгэ», «шэрджэс» псалъэхэмкIэ, — жаIащ абыхэм. — Адыгэхэр щопсэу Урысейм хыхьэ Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм. Адыгэу Урысейм исыр мин 750-м нос. КъинэмыщIауэ, хамэ къэралхэм адыгэу щопсэу мелуаниблым щIигъу. Абыхэм я нэхъыбапIэр Тыркум щыIэщ, адыгэ щымащIэкъым Сирием, Мысырым, Иорданием, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и адрей къэралхэми, Балканым, КъухьэпIэ Европэм, Америкэм.
    Аслъэнрэ Аидэрэ къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIащ адыгэхэм я лъэпкъ лIакъуэ 12-м. Абыхэм я цIэхэр: къэбэрдей, натыхъуей, беслъэней, еджэрыкъуей, жаней, мэхъуэш, хьэтыкъуей, шапсыгъ, абазэхэ, адэмей, кIэмыргуей, бжьэдыгъу — зытет «вагъуэхэр» Iэтауэ яIыгът адыгэ фащэ екIухэр зыщыгъ еджакIуэхэм. ГуфIэгъуэм кърихьэлIахэм ящыщ куэдым абдежым, дауи, ягу къэмыкIыжу къэнакъым лъэпкъ шэрджэс усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин и къалэмыпэм къыпыкIа сатырхэр:
    Адыгэ лъэпкъым и Iэпкълъэпкъ
    пщыкIутI —
    Адыгэ анэм и зэш бын гъуэзэджэ,
    Фэ адэжь хэкум вагъуэу фыщылыдт,
    Фыкъэзылъагъухэр къывэхъуапсэу
    зэкIэ.
    АдэкIэ псалъэмакъыр траухуащ ди щIыналъэм и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм я нэхъыщхьэ Iуащхьэмахуэ.
    — ЖьакIэху хъужу Кавказ къуршым къыщхьэщытщ «Насыпым и IуащхьэкIэ» зэджэ а бгышхуэр. Зи дахагъэм уемыплъыф, жьыр щыкъабзэ, къыщIэж псыр хъущхъуэ Iуащхьэмахуэ дэкIыну емыхъуапсэ щымыIэми ярейщ, — къыхагъэщырт студентхэм. — Ди хэку дыщэр я усыгъэхэм къыщагъэлъэгъуащ ди лъэпкъ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэми, ар фIыщэу зылъэгъуауэ щытахэу Пушкини Лермонтови, Толстойми, Грибоедовми.
    КупщIафIэу, хьэлэмэту къызэрагъэпэщат зэхуэсыр. Абы щытепсэлъыхьащ адыгэхэм ди хабзэхэм, лъэпкъ фащэм, Iэщэ-фащэхэм, дуней псом щыцIэрыIуэ ди адыгэшым, щIыпIэ куэдым щызэлъащIыса ди къафэхэм, лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщ нэгъуэщI нэщэнэхэми. Апхуэдэу гулъытэншэ хъуакъым адыгэ Iэнэри. Адыгэхэр сыт хуэдэ лъэхъэни шхынкIэ жумарту, хьэщIэкIэ фIыуэ зэрыщытари къыхагъэщащ. Махуэшхуэм къыхузэрагъэпэща адыгэ шхыныгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къулейри а псалъэ-хэм я щыхьэтт. Махъсымэ, мэжаджэ, кхъуейжьапхъэ, джэдлыбжьэ, лыгъурлыбжьэ, джэшлыбжьэ, джэдыкIэрыпщ, щIакхъуэ зэтеупIэщIыкI, хьэлыуэ, жэмыкуэ, пIастэ, нэгъуэщI куэди щыплъагъурт студентхэм яухуа адыгэ Iэнэхэм.
    Махуэшхуэм хэтхэм я гукъыдэжыр нэхъри къаIэтащ КъБКъУ-м уэрэдымкIэ и театр «Амикс» гупым, медколледжым и студентхэм ягъэзэщIа уэрэдхэм, къафэхэм, ахэр къызэджа усэхэм. Куэдым гукъинэ ящыхъуащ Бейкъазы Тамерлан, Сатушы Инарэ, Атэщауэ Мадинэ, Амщокъуэ Амырхъан, Емзэгъ Ислъам, ВэрылI Эльмирэ, нэгъуэщIхэми ягъэзэщIа уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ. Лъэпкъым и щIыхьыр, и пщIэр зыIэтт студентхэр зыхэщIэгъуэу къызэджа усэхэр. Абыхэм я псалъэхэм гур хагъахъуэрт, илъэс мин куэд къэзыкIуа лъэпкъ уардэм узэрыщыщым папщIэ пагагъэ къыпхалъхьэу. ГуфIэгъуэр зэхуащIыжащ махуэшхуэ джэгукIэ.
    Адыгэхэм (шэрджэсхэм), Адыгэ фащэм я дунейпсо махуэхэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным икIи егъэкIуэкIыным я зэфIэкI ирахьэлIащ медколледжым и егъэджакIуэхэу Срыкъуэ Юлиерэ КъуэщIысокъуэ Зухрарэ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм абыхэм щагъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр, шэч хэмылъу, еджапIэм щекIуэкI гъэсэныгъэ Iуэхухэм я зы Iыхьэ къудейуэ аращ. Лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIалэгъуалэр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр нэхъри яфIэгъэщIэгъуэн хъунымкIэ апхуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм шэч хэлъкъым. Адыгэ усакIуэшхуэ Бемырзэ Мухьэдин зэрыжиIащи,
    Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,
    Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,
    Хъуэхъум я нэхъыфIыр зыхыуагъэхыу,
    Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу,
    Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
    … Уи нэмыс, уи фащэ, уи джэгукIэм
    Уи щIэблэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,
    УщIэпсалъэр, узэпсалъэр пщIэжу,
    Уи Хэку лъапIэр тыгъэкIэ бгъэпэжу,
    Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
     
    ЖЫЛАСЭ  Маритэ.

  • ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщ “Си анэбзэ, си адыгэбзэ” зи фIэщыгъэцIэ Тхыгъэ Зэпеуэри абы теухуащ. 9-11 классхэм хэс еджакIуэхэр мы зэхьэзэхуэм хэтыну, анэдэлъхубзэр зэращIэр, я гупсысэр тхыгъэм зэрырагъэзэгъыр, адыгэ тхыбзэ хабзэхэм зэрыщыгъуазэр къагъэлъэгъуэну ди гуапэу къыдогъэблагъэ.
    Зэхьэзэхуэм кърихьэлIэну ныбжьыщIэхэм я пащхьэ итлъхьэнущ зытеухуарэ къаIуатэкIэ зэмыщхь псалъэ гуп. ЕджакIуэм и гупыжкIэ къыхиха псалъэр е зэгъусэ ищIа псалъитI-щыр зы гупсысэм иришалIэу и гурылъ-гурыщIэхэр, и Iуэху еплъыкIэхэр, и дуней лъэгъукIэр къызыхэщ тхыгъэ игъэхьэзырын хуейуэ аращ.
    Дэтхэнэ зы классми 1, 2, 3-нэ увыпIэхэр щаугуэшынущ. Тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэр зи IэдакъэщIэкI еджакIуэхэм фIыщIэхуэщIэ тхылърэ ахъшэ тынкIэ яхуэупсэнущ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIа дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и лэжьыгъэр щытхъу тхылъкIэ къыхагъэщынущ. Абы щыфIэкIауэ Адыгэбзэ Хасэм игъэува ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер япэ увыпIэр къэзыхьыну 11-нэ классым хэс еджакIуэм хуигъэфэщэнущ. Стипендиер гъэ еджэгъуэр икIыхункIэ еджакIуэм мазэ къэс иратынущ.
    Зэпеуэм хэтахэм щыщу адыгэбзэм хуеджэн гухэлъкIэ ЕджапIэ Нэхъыщхьэ щIэтIысхьэну еджакIуищми ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер хуагъэувынущ.
    Адыгэбзэ Хасэм и гугъэщ зэхьэзэхуэм къыхэкIыну лэжьыгъэхэр, зытхахэм я цIэ-унэцIэр хэмыгъуащэу, зэхуихьэсыжу тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIынуи.
    2014 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м ирихьэлIэу зэхыхьэну “Си анэбзэ, си адыгэбзэ” Тхыгъэ Зэпеуэр щекIуэкIынур Налшык къалэ дэт Мэлбахъуэ Темборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ Библиотекэрщ.
    ЩыщIидзэнур сыхьэтыр 14.00

  • Сызэрыц1ык1урэ, ди бзэу адыгэбзэм сигъэгушхуэу,къару къысхилъхьэу сыщытащ.Бзэм и щэху псори къэсщ1эну,абы и дунейм “сыщыхьэщ1эну” аращ еджап1э нэхъыщхьэм сыщ1ыщ1эт1ысхьар.Ар къэзуха нэужь,курыт еджап1эм адыгэбзэмрэ литературэмк1э егъэджак1уэу сащтащ.Пэжыр жыс1энщи,мы дерсит1ыр зыф1эф1 еджак1уэ япэ махуэхэм щыщ1эдзауэ срихьэл1акъым.Зы сыхьэтым нэхърэ адрей сыхьэтыр нэхъ гъэщ1эгъуэн,гурыхь,къулей зэрысщ1ын,сабийхэм бзэм хуа1э еплъык1эм зезгъэхъуэжын папщ1э сыщысхьакъым зэман.Абы къыхэк1ыуи къызэдгъэпэщат лъэпкъым и бзэм,хабзэм,дуней тетык1эм,хьэпшыпхэм,къафэхэм,фащэм теухуа музей “Адыгэ унэ”и ф1эщыгъэц1эу.”Ныбжьыщ1э Хасэ” щ1алэгъуалэ гупри зэхэдублат.Лэжьыгъэ мымащ1и едгъэк1уэк1ащ,пшыхь хьэлэмэтхэри дгъэлъэгъуащ,куей зэпеуэхэм япэ увып1эхэр къыщытхьащ.Мызэ-мыт1эу сабийхэм яуса,зэхалъхьа тхыгъэхэри газетхэм къытехуащ.К1эщ1у жып1эмэ,ди бзэр дгъэбзэрабзэрэ хабзэ-нэмысыр ди бзыпхъэу дыпсэууэ щ1эддзат.
    А зэманым ирихьэл1эу еджап1э унафэщ1хэм ирагъэк1уэк1ырт “Гъэм и егъэджак1уэ” зэпеуэр.Еджап1эм япэ увып1эр къызэрыщысхьам къыхэк1к1э,куейм сагъэк1уащ.Мыбы сабийхэм уазэрыдэлажьэ псори утыку иплъхьэн хуейт.Сэри си къару сыщымысхьыжу Адыгэбзэм тезухуащ си гъэлъэгъуэныгъэхэр.Псоми ягу ирихьауэ,ди зэф1эк1и утыку итлъхьауэ,махуэр дгъэк1уащ.Ет1уанэ махуэм къызжа1ащ ф1ым я ф1ыж дахагъэ дгъэлъэгъуауэ.Ауэ адэк1э гъуэгур щыхуп1эм хуэк1уэу зэрыщытри къызгурагъэ1уащ.Къызэрапсэлъащи-Адыгэбзэк1э дерс ебгъэк1уэк1 хъунущ,ауэ республикэм ар щыбгъэлъагъуэ хъунукъым-куэдым къагуры1уэнукъым.Адыгэ щ1ыналъэ дисщ,адыгэбзэ т1урылъщ,ауэ адыгэбзэк1э егъэк1уэк1а хъуа дерсыр КЪАГУРЫ1УЭНУКЪЫМ!!!!Сытыт мыр жызы1а,къэзыпсэлъа ц1ыхум жеп1эфынур абы и ужьк1э?!Жагъуэкъэ-т1э ар?!Жагъуэщ!!!
    А зэманым щыщ1эдзауэ сигу ислъхьащ адыгэбзэм и зэф1эк1 псори зэрысхузэф1эк1к1э къестхэк1ыну.Сыт хуэдэ лъэпкъми и зы дэтхэнэ ц1ыхуми ищ1эн хуейщ и бзэр.Къызгуры1уэркъым зи анэбзэр 1эщ1ыб зыщ1хэр…
    Илъэс зыбжанэ хъуауэ къуршыщхьэ уэсыр зи къабзагъэу сыщалъхуа щ1ыналъэм сыпэжыжьэщ.Сигу къоуэ.Ауэ…Сытым хуэдэу сыгуф1эрэ мы къалэшхуэм(Москва) щ1ып1эк1эрэ къэ1у псалъэхэр адыгэбзэу щыщытым деж.Зэрыжа1эу,дамэ къысток1э…
    Сы-адыгэщ!Куэдрэ интернетым щызолъагъу мы псалъэр.Ауэ мыр ф1эщыгъэц1э уэ зыхуэпщ1к1э зэф1эк1ыркъым.Уи бзэр пщ1эжрэ ,ар уэрсэру п1урылъу,макъыбэу зэрыбгъэлъэлърэ,ф1ым я нэхъыф1 щ1ып1эр хухэпхыу щытыпхъэщ.Илъэс мин бжыгъэхэм адыгэхэм я1урылъа адыгэбзэр нобэм къыщысак1э,абы и дэтхэнэ псалъэми дыгъэм и бзий тегъэпсапхъэщ,сыт хуэдэ щ1ыналъи щыгъэ1упхъэщ!
    Республикэм адыгэбзэк1э зэхэлъхьа хъуа дерсыр нэмысами,сэ ар си анэбзэщ,абы къысхелъхьэ нобэми къару,ар си гъусэ пэжщ.Адыгэбзэр сыт зэрытщ1ынур жыф1эу фымылъей.Адыгэбзэр зыгъэпудыр хъунщ ар занщ1эу лей!!!!

  • Зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым и ехъулIэныгъэхэр иIэтрэ и фIым щыгуфIыкIыу щызэхыхьэ махуэ хэха имыIэу. Апхуэдэ махуэхэрщ цIыхубэм я гур щыз зыщIыр, къарукIэ, лъэкIыныгъэкIэ, акъылкIэ, щIэныгъэкIэ зыIэрагъэхьахэр къыщапщытэжыр, лъэпкъым и нэхъыжьри и нэхъыщIэри гуфIэу щызэхуэсыр. Адыгэ лъэпкъми апхуэдэ махуэшхуэ иIэныр яфIэигъуэу хухахауэ ягъэлъапIэ.
    АБЫ ирихьэлIэу зэхыхьэ гуапэхэр мы махуэхэм IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм зэрыщекIуэкIым шэч хэлъкъым. Апхуэдэу ар щагъэлъэпIащ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инаркъуей къуажэм дэт курыт еджапIэми.
    ЕкIуу зэгъэпэща пэшым куэд щызэхуэсат. Абыхэм яхэтт еджапIэм и унафэщI Тумэ Валентинэ, абы и къуэдзэхэу Шормэн Иннэ, Сэбаншы Беллэ, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр.
    «Сэ сыадыгэщ!» фIэщыгъэр зиIэ пшыхььыр къызэIуихащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Хьэрэдурэ Эммэ. Къызэхуэсахэм хъуэхъу дахэкIэ захуигъэза нэужь, абы иджыри зэ ягу къигъэкIыжащ махуэшхуэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ къыхалъхьауэ зэрыщытыр икIи цIыху куэд зыщыгуфIы-кIа Iуэхур къэрал унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий 2014 гъэм щIигъэбыдыхьыжауэ зэрыщытар.
    АдэкIэ псалъэмакъым зэпадзыжу пащащ зэIущIэр езыгъэкIуэкIынухэм. Апхуэдэу  еджакIуэхэр тепсэлъыхьащ дунейм лъэпкъыу тетыр къехъуапсэу адыгэм зэрихьэу щыта хабзэ дахэ куэдым. Абыхэм ящыщщ цIыхухъухэр зекIуэ кIуэныр, хьэщIэр гъэхьэщIэныр, абы пщIэ хуэщIыныр, Iэнэ щысыкIэр, гъуэгу тетыкIэр, нэхъыжьыр лъытэныр, нэхъыщIэр гъэсэныр, нэгъуэщI куэдри.
    Пшыхьыр гъэщIэгъуэн пщызыщIхэм ящыщт еджакIуэхэм адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэхэм я цIэхэр къызэрыраIуэр. Апхуэдэу абыхэм лъэпкъым и лIыгъэр къещежьэ адыгэ IуэрыIуатэм къыщыщIадзэри, Ридадэ, Андемыркъан, Инал, Идар Темрыкъуэ, нэгъуэщI лIыхъужь куэдми я цIэхэр къраIуащ.
    Дызэрыт зэманми апхуэдэхэу ялъытэу, псалъэм папщIэ, адыгэ лъэпкъыр дуней псом цIэрыIуэ щызыщIа дирижёр Iэзэ Темыркъан Юрэ, сурэтыщIхэу КIыщ Мухьэдин, Пащты Герман, Црым Руслан, олимп чемпионхэу Шыхъуэ Борис, Ахэмын Еленэ, Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудрэн Беслъэн, Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Джэду Iэниуар, адыгэ литературэр утыкушхуэ изыша КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Алий, Шортэн Аскэрбий, КъардэнгъущI Зырамыку, IутIыж Борис, артистхэу ТIыхъужь Алий, ДыщэкI КIунэ сымэ, нэ-гъуэщI куэдми я цIэхэр къыжаIащ.
    ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ мыбы-       хэм ящыщ дэтхэнэми адыгэ лъэпкъыр дунейпсо утыкум зэрыщагъэлъэпIа щIыкIэм: хэт щIэныгъэкIэ, хэт спорткIэ, хэт щэнхабзэкIэ. Абыхэм псоми зы къалэнщ ягъэзэщIар — «адыгэщ» жрагъэIащ, апхуэдэ лъэпкъ зэрыщыIэр зымыщIэ куэдым фIы и лъэныкъуэкIэ кърагъэщIащ, кърагъэхъуэпсащ.
    Адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ хъуэпсапIэ нэхъ ин дыдэу иIар лъэпкъыр и щIэныгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъунырт. Мы гупым ар ягъэзэщIауэ жыпIэ хъунущ.
    ЕджакIуэхэр пшыхьым къыщеджащ Джэдгъэф Борис и «Си адыгэ напэ», Шорэ Ахьмэд и «Налшык», «Си пшыналъэу лъэпкъ лIыхъужь», «Уэ уадыгэу укъыщигъэщIакIэ», АфIэунэ Лиуан «Зэ уадыгэну сыт и уасэ», Бемырзэ Мухьэдин «Уадыгэным къикIыр» усэхэм.
    КъекIуэлIахэм иджыри зэ фIыщIэ хуащIыжри, зэIущIэр къафэ дахэкIэ зэхуащIыжащ.
    ИСЛЪАМ  Нащхъуэ.

  • Синэнэ  1эш1оу  синэнэ  к1асэм
    Сэ  къыс1уилъхьагъэр  сиадыгабз.
    Сыдэу  тхьар  еуи  зыбзэ  к1осагъэм,
    Лъэпкъым  ынапэр  иныдэлъфыбз.
    Нэхэе Р.
    Сыбзэ –  си Дунай,,, Мы гущы1ит1ум мэхьанэшхо я1.
    Ц1ыфыр къызыхъук1э,быдзыщэм игъусэу ныдэлъфыбзэм  имэкъамэмэ дунаим хащэ.  Ц1ыф лъэпкъ пэпчъ ныдэлъфыбзэ и1. Сэ синыдэлъфыбзэу, дунаим иш1угъэ къысфызэ1узыхыгъэр – сиадыгабз.   Бзэр – лъэпкъым ыпсэ зан.  Дунаир зэрэзэхифырэр, ар зэрилъэгъурэр,  ащ ш1уагъэу къыхихырэр, игухэлъ – гупшысэхэр, ихэбзэ зек1уак1эхэр, дэхагъэу щы1ак1эм хэлъыр – зэк1эми ныдэлъфыбзэр анэсы. Ныдэлъфыбзэр к1оч1эшхоу , зэк1ужьэу, гъэк1эрэк1агъэу лъэпкъым идунэееплъык1э егъэнэфы , игулъытэ  егъэбагъо,  ащ к1уач1эрэ л1ыгъэ-блэнагъэрэ хилъхьэзэ  лъэпкъым  фэ1орыш1э.
    Синыдэлъфыбзэу  сиадыгабз…. Имэкъамэхэр орэдышъоу къысэ1у,    псыхъом ижъынч макъэ щызэхэсэхы, шым илъэмакъэ ар къыпэджэжьы,  жьыбгъэм ишъуи макъэ къыдежъыу.  Сиадыгабзэ  дунаим идэхагъэ зэхысегъаш1э. Сэ сырэгушхо синыдэлъфыбзэк1э сыгу ихъык1ырэр  къызэрэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э,адыгэ жабзэ зы1улъ ц1ыфмэ сызэращыщыр.
    Бэ адыгэ лъэпкъым дунаим илъэгъо гъогу  къырэк1офэ  къинэу  ыпэ къик1ыгъэр. Адыгэм игъаш1э анахь тхьамык1агъоу къыхэхъухьагъэмэ ащыщ  Урыс- Кавказ заор. Заом къелыжьыгъэхэр яч1ыгурэ ятахътэрэ фимытыжьыхэу, яхэкужъ абгынэжьи , Истамбул гъогужъым тыритэкъуагъэх. Хырэ ч1ырэ зэпичи а гъогужъым адыгэхэр дунаим тырипхъагъэх.  Бэ адыгэ ц1ыфым а лъэхъан  хьылъэхэм  ч1энагъэу аш1ыгъэр, ау сыд фэдиз къин алъэгъугъэми тилъэпкъ ыбзэ ыгъэк1одыгъэп. Зыбзэ ч1эзымынагъэм  ынапи къабзэ, иц1ыфыгъи лъагэ.  Сэ насыпыгъэшхоу  сэлъытэ сянэжъ сятэжъхэм «ч1ыгужъыр» амыбгынэу  тиадыгэ шъолъыр  дахэ къызэринагъэхэр.  Сафэраз сыфитэу  тыбзэк1э  дунаим  идэхагъэ къис1отык1ын зэрэслъэк1ырэм. Сафэраз тидунай идэхагъэ  1оры1уатэк1э зэхэсмыхыжьэу , нэрылъэгъоу зэхэсш1эн амал къызэрэсатыгъэм. Сыгу ихъык1ырэр синыдэлъфыбзэк1э къэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э сафэраз.
    Сиадыгабзэ – лъэпкъ ш1эныгъэм игъэт1ылъып1, лъэпкъ дунэегуры1уак1эр зэхещэ, ш1ум, дэхагъэм  тыфещэ.  Синыдэлъфыбзэ  лъэпкъым къыщыш1рэ пстэури  зэгъэфагъэу къырехьак1ы, гу зэ1ухыгъэк1э ц1ыфыр дунаим хегъаплъэ.  Лъэпкъ итэкъухьагъэмк1э  адыгабзэр лъэпкъым зык1ыныгъэ къезытырэ лъапс, зэрэадыгэр къызэраушыхьатрэ амал.
    Нэмык1ыбзэ умыш1эным емык1у хэлъэп.  Емык1ушхуи  умыш1эныр ныдэлъфыбзэр. Убзэ уукъо хъущтэп, уадыгэ ц1ыфмэ уиадыгабзэ ш1у плъэгъоу, уфэсакъэу ущытын фае. Синыдэлъфыбзэ орэд къырып1ощтмэ , гъэтхэ ощх бзыбз, адыгэ усэ уедэ1у зыхъук1э узишъэ ч1эонэ, узхещэ,  дунаим ш1оу тетыр зэк1э угу къегъэк1ы.  Ц1ыфым иныдэлъфыбзэ 1улъ зыхъук1э, ежь ц1ыфыр къегъэдахэ, ц1ыфым идунэееплъык1э зыфэдэри къыбгурегъа1о.  Синыдэлъфыбзэ акъыли, л1ыгъи, дэхагъи, ш1улъэгъуи, пэгагъи хэбгъотэщтых. Ау тыгъэ пэтзэ ащи бжъыгъэхэр телъхэ мэхъух, арышъ тэ адыгэхэми , щык1агъэ тимы1эу щытэп. Тхэтых тэ «сыадыг» а1оу, ау  яныдэлъфыбзэк1э гущы1ан амылъэк1эу. Ащ фэдэ ц1ыфым, анахь еджэгъэшхор арми, угу егъунэу ч1ып1э урегъэуцо.
    Сыгу къео сэ, адыгэ ц1ыфэу зызылъытэхэрэмэ ащыщхэмэ «чылэм узыдэк1рэм сыдк1э  адыгабзэр  къыпшъхьапэщт» зэра1орэр. Ащ фэдэ ц1ыфхэр сэ нэпэнчъэхэу сэлъытэ.
    Сэ синыдэлъфыбзэу сиадыгабзэ сырэгушхо! Сэ сыгу къытеофэ сыбзэ згъэлъэп1эщт! Шъоум фэд синыдэлъфыбзэр, сян адыгабзэр, сэ си Дунай сиадыгабзэр!  Сэ сыбзэ – сибаиныгъ!

  • Гъыщ Хьамед я 6-рэ  классым ис еджак1у
    2012-рэ илъ.
    ТЕМЭР: «ТХЫЛЪЭУ СЫЗЭДЖАГЪЭМ СИШIОШЪ КЪЕСЭIУАЛIЭ».
    Сэ бэ мыш1эу  «Адыгэ пшысэхэр» зыфи1орэ тхылъым седжагъ. Ар лъэшэу сыгу рихьыгъ. Пшысэхэр – адыгэ 1оры1уатэмэ ащыщых. Ижъык1э къежьагъэу  щытых. Ахэр жэ дэхьэ-дэк1хэу, зым зым фи1отэжьхэзэ джырэ лъэхъан къынэсыгъэх. Сиц1ык1угъом щегъэжьагъэу пшысэмэ сафэщагъ. Джыри еджак1э сыфмыш1эзэ мыхэмэ бэрэ сянэжъ къысфяджэщтыгъэ. Ау джы сэр-сэрэу зэк1эми сяджагъ. Анахьэу пшысэхэр сыгу зэк1ырихьыхэрэр к1эух дэгъу зэря1эр ары. Мыхэмэ сыдигъуи ш1ур ем тек1о.
    Анахь сш1огъэш1эгъонэу пчъагъэрэ к1эсыджык1ыжьыгъэр «Гъулацый» зыфи1орэ пшысэр ары. Мыщ ч1ып1эшхо щызыубытырэр герой шъхьа1эу хэтыр ары. Ар Гъулацый. Гъулацый ц1ык1у, зэк1эми анахьык1, зэк1эмэ атек1онэу къарыу и1эп, ау акъыл чан и1, ы1орэр илэгъумэ арегъаш1э, ыш1эрэм тырегъахьэх, тхьагъэпц1ы, сыд фэдэрэ къин ыпэк1э къик1ыгъэми ш1эхэу хэк1ып1э къыфегъоты, къарыук1э зыфыримыкъурэм тхьагъэпц1ыгъэк1э дэзек1о. мыр зыфэдэр зэк1э и1к1э-ш1ык1эхэм ахэтэлъагъо: ар к1элэц1ык1ухэм ягъусэу мэзым зыхэгъощыхьэм, чэщыр щырахынэу гъолъып1э къафигъотын ылъэк1ыгъ, ащ нэгъуч1ыцэ ныом иунэ к1элэц1ык1ухэр тххьагъэпц1ыгъэк1э къырищыжьынхэ ылъэк1ыгъ, ежьыри тхьагъэпц1ыгъэк1э къы1эк1эк1ыжьи мылъкоу и1эри къыз1эк1игъэхьан ылъэк1ыгъ, нэгъуч1ыцэми ифэшъуашэ ригъэгъотыгъ. Адрэ пшысэмэ афэдэу мыщи ш1ур ем щытек1о. Сэ пшысэхэр лъэшэу сыгу рехьых, сяджэ зэпытыгъэк1и сязэщыщтэп.

  • Си шы къарапцIэу пцIащхъуэу щIэлъэтым
    Ди губгъуэ куэщIыр уи зэ ичыгъуэщ.
    Уэ уи лъэ макъыу тхыдэм къыщыджэр
    ЛIыгъэ макъамэм и джэрпэджэжи!
    Сонэ Абдулчэрим
    Адыгэм и блэкIари и нобэри зыгъэдахэ, зыгъэтынш гъусэ пэжхэм ящыщщ адыгэшыр. МыхьэнэкIэ шыр къуэшым пэзыщI анэдэлъхубзэми къегъэлъагъуэ ар. «АдыгэлIрэ лIы бэшэчрэ», «ШыфIыр лIыгъэм и ныкъуэщ», — тхыдэм и кIыхьагъкIэ зи бзэр мыпсалъэ псэущхьэ Iущым щытхъуу зэ­хуихьэсахэм я кIэм унэплъыскъым. Лъэпкъ куэди щыIэ къыщIэкIынкъым и IуэрыIуатэр шым теухуа хъыбаркIэ, шууейхэм зэрахьа лIыгъэкIэ мыкъулейуэ. Гум зэпхедз Къур­Iэн лъапIэм «хъуаскIэ къыщIезыгъэх шы лъэгухэм» я цIэкIэ иIэт тхьэрыIуэр. «Iуэху щхьэпэм хэт шым пщIэ хуэзымыщIым фэрыщIагъым и зы Iыхьэ бгъэдэлъщ», — жиIауэ къаIуэтэж езы Бегъымбар лъапIэми. Апхуэдэ лъагагърэ лъапIагърэ зиIэ псэущхьэм ди лъэпкъыцIэ зэрихьэныр, адыгэш жы­хуаIэжыр тхыдэм и кIыхьагъкIи и бгъуагъкIи «къэбэрдей» фIэщы­гъэмкIэ къыхэлыдыкIыу хэтыныр, дауи, ди фIыгъэ хэмылъми, дызыгъэгушхуэ фIыгъуэщ.

    Газет тхыгъэм и къалэныр Iуэхур Iуэху щIынращи, дыщогугъ дызыщыгъуазэр зэрымащIэм нэхъыбэ зыщIэм и гумызагъагъыр къигъэхъейуэ, шы гъэхъуным и лъэныкъуэкIэ фIы нэхъыбэ къытпыкъуэкIыну.
    ФIыщIэшхуэ яхудощI мы тхыгъэм зи IэдакъэщIэкIхэр къыщыдгъэсэбэпа щIэныгъэлIхэм:
    Ашэбокъуэ Леонид, КъБР-м щIыхь зиIэ и щIэныгъэрылажьэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и профессор («Адыгэ уанэшхэмрэ иджырей шы гъэхъукIэмрэ»).
    Къагъырмэс Црай, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, Адыгэш лъэпкъыр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI (тхыгъэ къыхэхахэр).
     
     Къэбэрдеишым и къежьапIэр
    Лъэпкъ къэс езыри иригушхуэу иIэщ а зым фIэкIа дамылъагъу гуэр. Апхуэдэщ адыгэхэм ди дежкIэ шыр. Иужьрей зэманым къэбэрдеишым хуащI гулъытэр кIуэ пэтми нэхъ ин мэхъу, ди къэралми къыщымынэу — Европэм. Уеблэмэ мыбыи шым сыт хуиIуэху зыхужыпIэн куэд, IэщIагъэкIи щIэныгъэкIи шым емыпхауэ, абы и тхыдэми и щытыкIэми щы­щIэупщIэр мащIэкъым.
    «Къэбэрдейр» (шым и цIэр) XVI лIэщIыгъуэм къыщожьэ, ауэ и дахэгъуэм ди лъэпкъышыр щынэсар XVII лIэщIы­гъуэращ. Тхыдэ кIыхь къызэринэкIам и кIуэцIкIэ къэбэрдеишым зыIэтыгъуи къепсыхыжыгъуи иIащ, цIыхум къылъыс лъэпощхьэпохэр дигуэшу.
    Адыгэхэм я тхыдэ жы­жьэр домбеякъым и лъэхъэнэ кIасэмрэ гъущIым и лъэхъэнэ пасэмрэ нос. А зэманым къыщIэна Iэмэпсымэхэр щыхьэт тохъуэ лъэпкъыр нэ­хъыбэу Iэщ зехуэнымрэ      мэ­къу­мэшымрэ зэрыхэпсэу­кIар, шы ягъэхъуу зэрыщытам и лъэужьхэри наIуэщ. Къармэхьэблэрэ Зеикъуэрэ деж шы кхъэлъахэхэр къыщагъуэтыжащ, ирахьэлIэ Iэпслъэпсхэр ящIыгъуу. Крупнов Евгенийрэ Алексеевэ Еленэрэ къызэралъытэмкIэ, домбеякъым и лъэхъэнэм, «ди  э­­рэр ипэкIэ VIII — VII лIэ­щIы­гъуэхэм хуозэ къыщыхъуа щIыпIэм куууэ епха къэбэрдеиш цIэрыIуэм» и тхыдэр.
    Къэбэрдеишыр адыгэ?
    Кавказ зауэм хэта урыс    генерал Броневский Семён зэритхымкIэ, «Адыгэш лъэпкъыр хьэрып хакIуэ­хэм­рэ адыгэ шыбзхэмрэ я щIэ­б­лэщ». Виноградовэ Валентинэ, илъэс куэдкIэ шы спор­тым хэта белорус шууей бзылъхугъэм, жеIэ: «Дуней псом шы лъэпкъыфIу тетым я зыужьыныгъэм хьэрыпышхэм я фIыгъэу хэлъыр нэ­гъуэщI зы шы лъэпкъми пхухуэгъэдэнукъым. Ар ди эрэм и VII, VIII лIэщIыгъуэхэм хуозэ. Ислъамыр Африкэм, Испанием лъагъэIэсын му­радкIэ зекIуэ кIуэ хьэрып шууейхэр зытесхэр куэдкIэ нэхъыфIт, ахэр зэрыхьа щIыпIэхэм щызэрахуэхэм нэхърэ. Абы къыхэкIыу хьэрыпышхэр а щIы­пIэхэм щыщ шы лъэпкъхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ къа­гъэсэбэпу щIадзащ, а Iуэхур нобэр къыздэсым зэпыуа­къым».
    Хьэрыпыш къабзэр шы лъэпкъ псори ефIэкIуэным папщIэ къагъэсэбэпу зэрыщытам 1913 гъэм Шым теухуа Урысейпсо съездым Войцехович Александр дахэу щытепсэ­лъыхьащ: «Шы лъэпкъ къабзэхэр пхъэIэщэ зэмыIуса щIы­гулъщ. Абы къэгъазэ имыIэу щыбэтэну жылэр — зы лъы за­къуэщ, зэи зыхалъхьар зэхимыгъэзэрыхьауэ. Сыт хуэдэ зэмани а лъэныкъуэмкIэ къа­гъэсэбэпу щытар хьэрып шы лъэпкъращ».
    Буденный Семён маршалым и унафэкIэ къэбэрдеишым теухуауэ ятха лэжьы­гъэм къыхощ абы и къэхъу­кIэм тыркумэн, карабах, хьэрып, нэгъуей шы лъэпкъхэр хэтауэ.
    Костонянц Рубен «Къэбэрдей шы лъэпкъыр къалмыкъ, нэгъуей шыбзхэмрэ къуэкIы­пIэмкIэ къикIа хакIуэхэмрэ къатехъукIауэ» ебж. Поджидаев Владимир и еплъыкIэри абы пэгъунэгъущ: «Къэбэрдеишыр хамэ щIыпIэ къикIащ». Ауэ ЗэфIэс Айдемыр зэрит­хымкIэ: «Къэбэрдеишыр гуар­тэм нэхъ лъэрызехьэхэр къыхахыурэ зэрефIэкIуам къыхэщхьэ­хукIа шы лъэпкъщ». Постников Геннадийрэ Бенуа Александррэ дыщIа­гъуж: «Къэбэрдеишыр къуэ­кIы­пIэмкIэ къикIа лъэпкъышхэр къахыхьэурэ Къэбэрдейм и дахэгъуэм, XVI лIэщIыгъуэм и кIэм — XVII и пэщIэдзэм, къы­хэхъукIащ». АбыкIэ арэзы­къым Къумыкъу Тыгъуэнрэ Хъубий Баширрэ: адыгэшым къуэкIыпIэ лъэпкъышхэр къыхэIэбауэ убжыныр щыуа­гъэщ, XVI лIэщIыгъуэм абы и пщIэр жыжьэ IуакIэт.
    Иужьрей гупсысэм и щыхьэту мамлюк сулътIан Инал теухуа тхыдэ лэжьыгъэхэм ущрохьэлIэ: «Ар ерыщт Кавказым ис и лъэпкъэгъухэр зэришэлIэнымкIэ, къишахэм я бжыгъэр шууей мин 40-м нэсат».
    Къэбэрдеишым и къежьа­пIэр куэдым тенджыз ФIыцIэ Iуфэм ирапх. Беляев профессорым зэрыжиIэмкIэ, нэхъ пасэу къыхэхъукIа къэбэрдеиш лъэпкъхэр «щолэ­хъумрэ» «трамэмрэщ». «Щолэхъум» теухуауэ абы шыпсэ­хуэкIуэ хъыбар гъэщIэгъуэн къеIуатэ: къэбэрдей гуэрым тенджыз ФIыцIэ Iуфэм шы щигъэхъуу щытти, абы хакIуэ мыгъасэ гуэр къахэзэры­хьащ, зэман дэкIыу дунейм къытехьа шыщIэращ «щолэхъу» шы лъэпкъым къе­жьапIэ хуэхъуар. Беляевым зэрыжиIэмкIэ, «щолэхъур» теплъэкIэ хьэрыпышым ещхьщ: абы и щхьэр гъурщ, и тхьэкIумэхэр цIыкIущ, и нэхэм «хъуаскIэ» къыщIех, нэбжьыцхэр кIырщ, цыр пIащIэщ, щабэщ, шыбгъэр бгъуэщ. Шы Iэпкълъэпкъыр и кIыхьагъкIэ захуэщ, и лъэгур быдэщ. Беляевым жиIэм тохьэ шыхъуэ цIэрыIуэ Балакшин Ольгэ и еплъыкIэри. Хъыбарыжьхэр и тегъэщIа­пIэу, щIэныгъэлIым «къэбэрдеишыр IуэрыIуатэм къыхэщ Андемыркъан Къэбэрдейм къиша хьэрып хакIуэм къы­техъукIауэ» жеIэ. Балакшиным къызэрилъытэмкIэ, къэбэрдеишым XVI лIэщIыгъуэр и татуугъуэу щытами, абы и щытыкIэр пасэу къызэфIэу­ващ: хэти щыгъуазэщ къэбэрдейхэм хьэж ящIауэ Мэчэм къыщикIыжкIэ Кавказым Хьэрып щIыналъэмрэ Сириемрэ кърашурэ шы къыздашэу зэрыщытар. Апхуэдэ щIыкIэу къэбэрдеишым къуэ­кIыпIэш теплъэ игъуэтащ.
    Балабановри арэзыщ къэ­бэр­деишыр апхуэдэ щIы­кIэкIэ къызэрыхэхъу­кIамкIэ, ауэ абы «къэбэрдейм» монгол шы лъэпкъхэм яжь къыщIи­хуауэ къелъытэ. Мишинымрэ Драгалевымрэ къызэра­лъы­тэм­кIэ, пэжщ, Азие ЦIыкIум щыщ шыхэм ящыщи хэтащ къэбэрдеиш лъэпкъым и къыхэхъу­кIы­кIэм, «хьэрыпхэмрэ» «къэжэрхэмрэ» зэрыхэтам хуэдэу, ауэ ар езыр-езыру къэхъуа Iуэхуу пхужыIэнукъым — хэдэрыхэх узыншэм къихьа зыужьыныгъэщ. Адыгэшым нэгъуей шы лъэпкъым илъ хэту къэзылъытэхэм ящыщщ Федотов Пётр, Красников Александр сымэ. Ауэ тхыдэдж Мердер Иван жеIэ: «Адыгэш нэсыр хьэрыпышымрэ бгырысхэм зэрахуэхэмрэ зэхыхьэкIэрэ къэ­хъуащ: ар къарууфIэщ, жы­джэрщ, мафIэ кIуэцIылъщ, хахуэщ, набдзэгубдзаплъэщ, къуакIэбгыкIэхэм нэхъ къыщысэбэпращи — я лъакъуэхэр быдэщ. КъищынэмыщIауэ, ар икIи тхьэкIумафIэщ: жэщым я нэхъ кIыфIым уи псэм утемышыныхьу ушэс хъунущ зыщIыпIэ деж ехуэхынщ е лъагъуэ зэвым ирикIуэфын­къым жумыIэу. Шууей гъуэщам и псэр абы IэщIилъхьэ­фынущ: шым езым ицIыху гъуэгур къигъуэтыжынурэ уздынэсыпхъэм унигъэсынущ. Ар икIи егъэлеяуэ сакъщ, и тхьэкIумэхэр те­гъэхуа зэпытщ, макъ псоми едаIуэу, езыр гъуэгу пэжым тет-темыткIэ зыкIэлъы­плъы­жу. Абыхэм апхуэдизкIэ гурыгъуазэ пэж яIэщи, хэбгъэзыхьрэ здэмыкIуапхъэм бгъакIуэмэ, узэрыщыуар къыбгурыIуэжынущ: е бий, е хьэкIэкхъуэкIэ зызыудыгъуа урихьэлIэнущ. Абы иджыри Iуэхуншэу шэщым щIэтыну фIэфIкъым, щIэубыдауэ куэдыIуэрэ яIыгъмэ, зейр хигъэзыхьынурэ зыкъыщIри­гъэшынущ».
    Лъэпкъхэмрэ шы лъэпкъхэмрэ
    Кавказ тхыдэдж Калоев   Борис зэрыжиIэмкIэ, «Къэбэрдейм шы зэрыща­гъэхъуа тхыдэм къыщIэнауэ шы лъэпкъ зыбжанэм я фIэщыгъэхэр зокIуэ, лъэ­хъэнэ зэхуэмыдэхэм къыхэ­жэ­пхъыкIауэ. Псом нэхърэ нэхъыжьу къалъытэр «щолэхъуращ»: XVI лIэщIыгъуэм нэс къикIа дэфтэрхэм къаIуатэ ар Щолэхъухэ ящыщ джылахъстэнеипщым и цIэм епхауэ. ИужькIэ XIX лIэ­щIы­гъуэм Клапрот етх: «НэхъыфI дыдэу Къэбэрдейм къыща­лъытэр «щолэхъу» шы лъэпкъ­ращ. Абыхэм я бжы­гъэр щитIым щIигъу хабзэ­къым, гуартэм щыхэткIэ. ФэкIэ ахэр е пщIэгъуалэщ е пцIэгъуэплъщ. Апхуэдэш саугъэту ятамэ, и уасэр пщылI уасэм пагъэув».
    Нэмыцэ щIэныгъэлI Паллас Пётр етх: «Гу лъытэгъуафIэщ мы щауэхэм я зэманым и нэхъыбэр я шы телъыджэхэм зэрытрагъэкIуадэм. А Iуэхум ахэр хьэрыпхэм нэхърэ мынэхъ Iейуэ пэрытщ. ИтIани адыгэхэм ауэ шы дахэ къудейкъым ягъэхъур, атIэ псэущхьэ бэшэч, къарууфIэ, мэжэлIэнымрэ гугъуехьымрэ яхуэхьу, псынщIагъкIэ яхуэдэ щымыIэу. Зауэ-банэм щыхэтым и деж адыгэхэр псом нэхърэ нэхъ зыщыгугъыр шым и хьэлращ. Дэтхэнэ зы лъэпкъ и щхьэ пщIэ хуэзы­щIыжми езым и шы лIэужьы­гъуэ иIэжщ, абы тегъэуа да­мыгъэмкIэ къэгъэлъэгъуауэ. Нэхъ пщIэшхуэ зиIэр «щолэхъухэращ», ар Талъостэнхэ я нэIэ тету зэрахуэ. И дахагъкIи, къарукIи, псын­щIагъкIи бэлыхьщ, адрейхэм къазэрыхэщыр и лъэгур хъурейуэ, дэбзыкIа имыIэу зэрыщытращ». Ауэ Тыркум щыщ шыхъуэ Къущхьэ Фикри зэрыжиIэмкIэ, «щолэхъур» зэрыфIыр и псынщIагъ­ра­къым — шы бланэу, тегушхуэ хэлъу зэрыщытращ: «щхьитI-щыкIэ езым нэхърэ нэхъ лъагэ къуршым зреупсей щхьэ­прыкIыну, гу кIуэцIылъщ».
    Щолэхъу и хъыбар
    Щолэхъу шы лъэпкъым   зи цIэ зэрихьэ Щолэхъу, зэрыжаIэмкIэ, и шы гуартэм и бжыгъэр зэи щэм щIри­гъэгъуу щытакъым. И ныбжь хэкIуатэу Iуэхур и къуэ­хэм къащыхуигъанэм, щIалэхэм шы бжыгъэр миным нагъэсащ, абыкIэ адэм зы­хуамы­гъэщIагъуэуи къэна­къым. АфIэкIа хэмылъу, адэм бжыхь задэ лъагэкIэ къэхухьауэ Iуэ ирегъэщIри, шыхэр абы ираубыдэну унафэ ещI. ЖаIар щагъэзащIэм, фочрэ кIий макъкIэ шыхэр ягъэщтэну яжреIэ. Абдежым шы гужьеяхэм зэрызехьэн щIадзащ, ауэ бжыхь задэм къыщхьэдэлъыхыфар миным щыщу щэ ныкъуэ къудейрщ. Щолэхъуи жыIэпIэ ихуащ: «А къелъахэращ си шы лъэп­къыр, адрей къэнахэр шыуи сыбжыркъым, ахэр жэмщ».
    Шы лъэпкъыцIэу тхыдэм зыбжанэ къыхэнащ. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфа­щэмкIэ, ахэр унагъуэ щхьэ­хуэм зэрейм, дамыгъэ хэха зэриIэ къудейм къыхэкIауэ къалъытэ. Мыдрейхэм — дэтхэнэ зы шы лIэужьыгъуэми щытыкIэ щхьэхуэ иIауэ ябж. ЕтIуанэ еплъыкIэм щыхьэт тохъуэ абыкъушым теухуа псалъэжьыр: «Зы абыкъушрэ зы аркъэнрэ уиIэмэ ууна­гъуэщ».
    Шы лъэпкъыцIэу узрихьэ­лIэ­хэм ящыщщ: абыкъу, ачэтыр, бэчкъан, егъэн, есэней, жэращты, кърымщокъал, къундет, лоу, трамэ, хьэ­гъун­докъуэ, шагъдий, шэ­джэ­рокъуэ, щолэхъу, чыпылу.
    Шы гъэсэкIэм и щэхухэр
    Къэбэрдейхэм шым    щIопщкIэ уеуэу ядэртэ­къым: узым шыр бауэкIэщI ещIри, ирегъэш. Шыгъажэхэм щыхэткIэ фийкIэ, макъ­кIэ е IэгукIэ утеуIуэурэ тебгъэгушхуэ хъунут, ауэ удыныр шым и гъэсэныгъэм къыщагъэсэбэпыртэкъым, абы шым игурэ и щхьэрэ зэтрихуу къа­лъы­тэрти.
    Спенсер Эдмонд, инджылыз дунеяплъэм, 1839 гъэм къэбэрдейхэм ятеухуауэ етх: «Дуней псом зы къэрал тет къыщIэкIынкъым мыбыхэм хуэдэу шыр зыхуей хуэзы­гъэзэф, зы лъэпкъми шы зехуэкIэм хищIыкIыркъым, мыбыхэм хуэдэу. Щэхушхуэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, шым зэи зэремыуэращ, абы къыхэкIыу ар зейм хуэпэжу къонэ… Адыгэшым уигу къыхуэкI псори зыхищIэу ибогъэсэф. Сыт хуэдизкIэ мы лъэпкъым гъуазджэрэ цивилизацэкIэ дыщхьэпры­мыкIами, шыр зэрагъасэмкIэ, абы кIэлъызэрахьэ цIыху­гъэм­кIэ икъукIэ дакъыкIэ­роху, ди шыхъуэхэм адыгэхэм я деж куэдым зыщрагъэсэфынут. Сытуи мащIэ дэ тщIэр мы псэущхьэ телъыджэм зэрызебгъэужьыфынумрэ ар зэбгъэсэфынумрэ теухуауэ. Шыхэм нэхърэ нэхъ къабзэрэ фIыр нэхъ зэхэзыщIыкIрэ, игу зэ зыкIэрыпщIам нэхъ хуэ­пэжрэ бгъуэтынкъым. Уеблэмэ зэрыцIыкIурэ фермэхэм къыщыхъуахэр ны­бжьэ­гъуфIым хуэдэу апхуэ­дизкIэ гумащIэ мэхъури, хэгъэ­з­ыхьышхуэ хэмыту пхуогъэIэсэ».
    ГъэкъэбзэкIэр
    Iуэху къызэрыгуэкIыу фэ  зытет шы гъэкъэбзэкIэми Iэмал хэха иIэщ. Тхыдэдж Къумыкъу Тыгъуэн зэри­тхыжамкIэ, адыгэхэм шыр зэрагъэкъабзэу щытар мыпхуэдэут: «ЯпэщIыкIэ мэкъу IэмыщIэ къащтэри, абыкIэ шыр ялъэщI. ИужькIэ сабыныпс хуабэкIэ IэгукIэ ятхьэщI, и фэм фIей зыри къыкIэры­мынэжыху».
    Шы лъэгур
    Къэбэрдеишыр къы­зэ­фIэ­гъэувэн Iуэхум мы­хьэ­нэшхуэ щиIыгът абы и лъэгум елэжьыным. ЩIэны­гъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, адыгэшым и лъэгудыгъуэр апхуэдизкIэ быдэщи, хэхауэ щIыпIэ мывалъэ гуэр мы­кIуэмэ, нал щIумылъхьэми мэхъу. Ар зи фIыгъэу ябжыр щIымрэ щIыуэпсымрэ я щы­ты­кIэм и закъуэкъым. Зэман кIыхьым и кIуэцIкIэ езы шыщIэхэр хэплъыхьышхуэ ящIу къызэрыхахыу щытаращ. ШыщIэ лъэгур скъар фIыцIэм хуэдэу цIууэ и щIыбагъымкIэ зэгуэмыкIыу, зэгуэту щытын хуейщ. ШыщIэ къыхащыпыкIахэм я лъэгухэр хуэсакъыпэурэ ягъэкъабзэрт, зыхуей щытыкIэм ира­гъэувэным елIалIэурэ. А мурадым лъэIэсын папщIэ шыхэр зэпымыууэ къуршыпс уэрым хахуэурэ и дэгъэзеи­гъуэмкIэ ягъакIуэрт. Апхуэдэм деж шым, хуей-хуэмейми, псым хэлъ мывэкIэщхъым и лъэгур тригъэзэгъэн хуей мэхъу, ауэрэ шыхъуэр зы­щIэхъуэпсым хуэдэу быдэ мэхъу. КъищынэмыщIауэ, шыхэм зэпымыууэ мывэкъуэ­хэм къыщрагъэкIухь. Аращ Хъан-Джэрий щIитхыр: «Ипэ илъэсхэм шыхэм я лъэгум теплъэ нэс къищтэн папщIэ, псыхъуэхэм нэхъ щагъэхъуа­кIуэ».
    Шым и теплъэр
    Къэбэрдеиш лъэпкъыр         къыхэщхьэхукIыху, шы­хъуэхэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ шыхэм къахэхыпхъэр гъэтэмэмыным. Ди адэжьхэм гулъытэ ин хуащIырт шыбгым и теплъэмрэ и кIыхьа­гъымрэ, шыбгъэм, лъакъуэхэм. НэхъыфIу къалъытэр зи бгыр захуэу, мыкIыхьыщэу шэщIа шыбграт. Лъакъуэхэм дагъуэ лъэпкъ яIэ хъунутэ­къым — я кIыхьагъми, зэрытригъэувэ щIыкIэми, и зэры­тыпIэхэми. Шыбгъэр бгъуэуэ икIи куууэ щытын хуейт, ар шым и гумрэ и тхьэмбылымрэ зэрыузыншэм и нэщэнэт. Апхуэдэ къыхэхыкIэм адыгэшым зыми емыщхь Iэпкъ­лъэпкъ зэхэлъыкIэ къритащ, и щхьэми, фIыуэ зызыужьа и жьэпкъми, дзажэналъэхэми, лъакъуэхэми, фэми ар къагъэлъагъуэу. А псом къэбэрдеишым дахагъ къызэ­рымыкIуэ, лантIагъ, къэкIу­хьыкIэ щабэ къытригъауэрт. А щытыкIэхэращ абы дунейпсо цIэрыIуагъ къезытари. Къэбэрдеишыр КъуэкIыпIэми КъухьэпIэми къикIыурэ ящэхуу къекIуэкIащ лIэщIыгъуэ­кIэрэ.
    Шым и теплъэм и гугъу пщIымэ, къэбэрдейхэм мы­хьэнэшхуэ иратырт абы фэ узыншэ иIэным. Фэ узыншэ зиIэхэм хабжэрт къарапцIэ­хэмрэ шыгъуэхэмрэ икIи яфIэфIтэкъым гъуабжэхэмрэ къуэлэнхэмрэ. Лъакъуэм и лъагагъым фIэмыкI IэпапIэ сырыхухэр ядэнкIи хъунт, ауэ Iэпкълъэпкъым IэпапIэ хужь хэтыныр шым и узыншагъэм и щыщIэныгъэу къалъытэрт.
    Кавказ зауэмрэ адыгэшымрэ
    Къэбэрдеишым и зыужьыныгъэм зэранышхуэ хуэхъуахэм ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэр. Абрамов Яков 1884 гъэм къыдигъэкIа «Кавказ бгырысхэр» тхылъым щетх: «Гъэмахуищми, Къэбэрдеишхуэм и курыкупсэм ит урыс слобода цIыкIу Налшык сыдэ­сыху, урысхэм къэбэрдей щэнхабзэм и Iэужьхэмрэ ­илъэс куэд зытекIуэда я лэжьы­гъэмрэ укIытэ лъэпкъ яхэмылъу зэрызэтраIущIэм се­плъыну Iэмал сиIащ. «Ка-  рательнэ экспедицэ» ира-  гъэ­кIуэкIыху, бгырысхэм ­къуентхъ папщIэу къытраха Iэщ мин тIощIырыпщIхэр пащтыхьым и блыгущIэтхэм яIэрыхьэрт. Апхуэдэ защIэу Iуэхур екIуэкIащ XIX лIэ­щIы­гъуэм и 70 гъэхэм пщIондэ. Архив дэфтэрхэми ар зэрыратхэ хабзэр: «…къэбэрдейхэм къытрахахэм щыщу».
    Псом хуэмыдэу ар я хьэлт генералхэу Вельяминовым, Засс, Булгаковым, Дель- поццо: «Къэбэрдей шы гуартэ зэхэфыщIахэр зауэ къуентхъыу къаIэрыхьэурэ, ди къэзакъхэм къэбэрдеиш гуартэхэр зэхаублащ». АрщхьэкIэ къэхутакIуэ Дубенский Дмитрий зэрибжымкIэ, «къэзакъхэм езыхэм я шы гуартэхэр яIыгъыжт, адыгэхэм я шы зехуэкIэ Iэмалхэм емылIа­лIэу… абы къыхэкIыу шы лъэпкъхэр хагъэкIуэдэ- жащ».
    1810 гъэм Савельев-генералым и унафэщIхэм рапорт яхуетх, адыгэхэр шыгъум пэIэщIэ зэращIам къыхэкIыу яш куэд зэрызэтелIар иту.
    1816 гъэм щыщIэдзауэ 1910 гъэ пщIондэ, адыгэхэр Тыркум зэрыIыгъыу щыIэ­пхъуэжа зэманым, унагъуэ 690.659-рэ Хэкум икIащ, цIыху бжыгъэкIэ 3.102.749-рэ хъууэ. Абыхэм я нэхъыбэр къэбэрдейт. 1864 гъэм и закъуэ адыгэш зезыхуэ нэрыбгэу 342.748-рэ икIащ. А зэманым унагъуэ къэс шы игъэхъурт, аращ къызыхэ­кIар XIX лIэщIыгъуэм и кIэм — XX и пэщIэдзэм Кавказ Ищхъэрэм шы бжыгъэу итам зэуэ зэрыхэщIар. Псалъэм папщIэ, 1889 гъэм абыхэм я бжыгъэр зэрыхъужыр 4.821-рэ къудейт. А зэманым Кавказ псом щыцIэрыIуэу щытащ Лохэ, Куэцэхэ, Трамэхэ, Лафыщхэ, Тамбийхэ, нэгъуэщI куэдми яшхэр. Тыркуми, здэ­Iэпхъуа нэгъуэщI къэралхэми адыгэхэм я псэр зыхэлъ шыр щагъэхъун къагъэнакъым. Хаккер Дж. етх: «Адыгэхэм шы телъыджэхэр зэрахуэрт, Хэкум щиса зэманым ещхьу ягъэхъурэ псори зрагъэхъуа­псэу».
    «Узуняйла» шы лъэпкъыр
    Тыркум Iэпхъуа адыгэхэм  языныкъуэхэр тенджы­зымкIэ, адрейхэр щIылъэмкIэ кIуахэщ. Иужьрейхэм Хэкум здраша шыхэращ къызыте­хъукIыжар къыщыхъуа щIы­налъэм — Узун-Яйла — и цIэр зыкIэрыпщIа шы лъэпкъыр. Ишджан Каан мы шы лъэпкъым триухуа и тхыгъэм къыхегъэщ «узуняйла»-р ­адыгэш лъэпкъитхум къазэ­ры­техъукIар: щолэхъу, ­егъэн, ло, (мэрджан), трамэ. «1937 гъэм, гъатхэпэм и 10-м, Пынарбаши щIыпIэм «Узуняйла шы лъэпкъыр хъумэ­нымкIэ зэгухьэныгъэ» щызэхаублауэ щытащ. 1980 гъэм фокIадэм и 10-м нэс лэжьа а зэгухьэныгъэм Iуэхушхуэ зэфIи­гъэкIырт: абы и жэр­дэмкIэ шы гъэлъэгъуэны­гъэхэмрэ щапIэхэмрэ къы­зэIуахыу щытащ».
    Нобэрей IуэхукIэ
    XIX лIэщIыгъуэм, урыс     пащтыхьыгъуэм и зэры­пхъуакIуэ жэрдэмхэм я Iэужь­кIэ, къэбэрдей шы гъэхъукIэр хуэмурэ ужьыхын щIидзащ. ХъупIэхэм зэрыхэщIам, гъаблэм къыхэкIыу, мэл зэрахуэмэ нэхъ яфIэкъабылу зэрыхъуам нэмыщI, зауэ, колхоз зэхэтыкIэ хуэдэхэу псэукIэщIэ зэIумыбзхэмрэ жылагъуэр зыхэхуа лъэпощхьэпохэмрэ шым къылъыс гулъытэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ ящIурэ шым и фIагъым фIыуэ кIэригъэхуащ. Жы­пIэн­кIэ, «къэбэрдеишыр» лъэпкъ хэплъыхьахэм ящыщщ, шыхъуэхэми ялъэкI къагъанэркъым ар ирагъэфIэ­кIуэ­нымкIэ. Ауэ иджырей къэбэрдеишыр, дауи, XVI-XVIII лIэщIыгъуэхэм зэрыщытами, уеблэмэ XIX лIэщIыгъуэм зэрыщытами хуэдэжкъым.
    Къэбэрдеишым и [цIэкIэ]
    Дунейпсо Зэгухьэныгъэ (Iternational
    Kabardian Horse Assosiation)
    2009 гъэм щIышылэм и  17-м Чехием, Словакием, Франджым, Белоруссием, Косовэ, Израилым, Германием щыщ адыгэ гуп зэхуэсри, Германием щыIэ Мюнхен къалэм Къэбэрдеишым и (цIэкIэ) Дунейпсо Зэгухьэныгъэ (КъДЗ) къагъэунэ­хуащ. Зэгухьэныгъэм и зэIущIэу 2010 гъэм щIышылэм и 13-м Берлин щекIуэкIам къызэ­гъэпэщакIуэхэм ящыщ, Тыркум щалъхуа, Германием и «Удзыфэхэм я партым» и унафэщI Оздемир (УанащIэ) Джем щыжиIэгъащ:
    «Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
    КъДЗ-р ирогушхуэ «Къэбэрдеишым и блэкIар, нобэр, къэкIуэнур» зыфIэтща Япэ дунейпсо симпозиумыр къы­зэрызэIуихымкIэ. Ди гуа­пэщ къедгъэблэгъэну ныбжьэгъу­хэри, хьэщIэхэри, Iуэхум дихьэх дэтхэнэ зыри. Иджыри дыпоплъэ Кавказми, Европэми, адрей къэралхэми щыщ щIэныгъэлIхэр, политикхэр, шыхъуэхэр къыддэлэжьэну.
    Ди мурад нэхъыщхьэр къэбэрдеишым иджыпстурей и щытыкIэр утыку къитхьэу, абы и тхыдэми нэху тред­гъэдзэнырщ. Къищынэмы­щIауэ, ди плъапIэщ нобэ къэбэрдей шы лъэпкъыр хъума хъуным елэжь шыхъуэхэу Кавказым щыпсэухэм зэры­защIэдгъэкъуэн Iэмал къэдгъуэтыну. Ди Iуэхум къэбэрдеишым елэжь шыхъуэхэр, псапащIэхэр, ныбжьэгъу­хэр къызэщIиубыдэу зэрыщытым къыхэкIыу, дыхуейщ цIыху­бэмрэ хъыбарегъащIэ Iуэху­щIапIэхэмрэ я гулъытэр ди лэжьыгъэм къетшэлIэну. Дыфщогугъ дытевгъэгуш­хуэну, фыкъытхыхьэну».
    Адыгэшым теухуа псалъэмакъыр къыщIэддза къудейуэ зэрыдухыр нэрылъагъущ. Шы зехуэныр тхылъ Iуэхуу зэрыщымытра къыщIэкIынщ абы и щхьэусыгъуэр. ИтIани ди псалъэмакъым пызыщэну гукъыдэж зиIэхэм газетым и напэкIуэцIхэр яхузэIухащ. Мы псэущхьэ угъурлым и фIа­гъыр къызэрыIуэтэгъуейм и щыхьэту, зы хъыбар щIэщы­гъуэкIэ иужьрей нагъыщэр догъэувыж.
    ЩIопщым и ныбжьри хурокъу
    Зэгуэрым Сиддхартхэ    Гаутамэ — БуддэкIэ зэ­джэм — и деж цIыху гуэр къыщIыхьэри, пщIэ къызэ­рыхуищIыр къигъэлъагъуэу, гъэщхъауэ и лъакъуэм къеIусащ.
    «Тхьэ щыIэ?» — щIэупщIащ хьэщIэр.
    Буддэ абы худэплъейри, жриIащ:
    — Си щIалэгъуэм шыхэр зыпэсщI щыIэтэкъым, ауэ зэхэздзынщ щыжысIэм и деж, ахэр лIэужьыгъуиплIым иту слъагъурт. Япэрейр — шы мыгъасэ, нэхъ ерыщхэращ. Сыт хуэдизрэ уемыуэми, къодэIуэнукъым. ЦIыхухэм я нэхъыбэр апхуэдэщ. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэр мэдаIуэ, ауэ — удыныр зыхищIа нэужь. Апхуэдэ цIыху куэди щыIэщ. Ещанэ гупым щыщхэм еуэн хуейкъым: абыхэм щIопщыр ибогъэлъагъури зэфIэкIащ. Ауэ еплIанэ лIэужьыгъуэр гъуэтыгъуей дыдэщ: абыхэм щIопщым и ныбжьри яхурокъу.
    ХьэщIэр щыму заулкIэ щысри щIэкIыжащ, егъэджа­кIуэм фIыщIэшхуэ къызэры­хуищIыр и нэкIум иплъа­гъуэу. А псори Буддэ нэ­хъыфI дыдэу илъагъу и гъэсэн Анандэ и нэгу щIэкIащ, арщхьэкIэ зыри къыгу­рыIуакъым. «Сыт хьэдыгъуэдахэ: мор Тхьэ щыIэ жеIэри щIоупщIэ, мыдрейр шыхэм топсэлъыхь» — и гур къеза­уэрт щIалэм. ПсэлъапIэ ихуа нэужь, Анандэ щIэупщIащ:
    — Сэ ар къызэрызгурыIуэн мы дунейм теткъым! Шыхэм ухутепсэлъыхьа нэужь, зиущэхури гъащIэ псо къыбдэ­псэуам хуэдэу мамыру къыбдыщысащ. Сэ зыхэсщIакъым игъащIэм апхуэдэ гупсэхугъуэ! Сыт абы жепIар? Сыт абы апхуэдизу фIыщIэ къыщIыпхуищIар?
    ЕгъэджакIуэм жиIащ:
    — Сэ шыхэракъым сызытепсэлъыхьар. Зи гугъу сщIар ар зыщIэупщIаращ, ауэ ар щIэныгъэ ущэхуащ, пса­лъэмрэ акъылымрэ я гъунапкъэм фIэкIыу. И пщIэгъуалэм сеплъу а Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIыр къызгурыIуа нэужьщ шыхэм сытепсэлъыхьын щыщIэздзар. Арат абы и бзэри, жысIа мащIэмкIэ сызэхищIыкIащ. Ар закъуэ­тIакъуэхэм ящыщщ: щIопщым и ныбжьри хурокъу.
     ЧЭРИМ Марианнэ.

  • Стрикачэу Аид  я 6-рэ А классым ис еджак1у
    2014-рэ илъ.
    Сочинение ц1ыфэу щысэ къысфэхъурэр.
    Сабыир иц1ык1угъом щегъэжьагъэу нахьыжьмэ ак1ырэплъы, нахьыжъхэр ищысэтехып1эх. Ц1ыфэу щысэ сфэхъугъэмэ ащыщ адыгэ тхэк1ошхоу К1эрэщэ Тембот. Ащ ытхыгъэ произведениехэр адыгэ прозэм лъапсэ фэхъугъэх. Ащ ирассказхэм, иповестхэм, ироманхэм ц1ыф жъугъэхэр яджэх. Ахэмэ ащыщхэр бзэ зэфэшъхьафхэмк1э – урысыбзэк1э, чехыбзэк1э, тыркубзэк1э къыдэк1ыгъэх. Ижъык1э къыщегъэжьагъэу адыгэхэм къарык1уагъэр, шъхьафитныгъэ банэу лэжьак1охэм аш1ыщтыгъэр ипроизведениехэу «Шыу закъу», «Шапсыгъэ пшъашъ», «Абдзэхэ шэк1ожъыр», «Хьаджырэт» зыфи1охэрэм ык1и нэмык1хэм уз1эпащэу, гъэш1эгъонэу К1эрэщэ Тембот къащигъэлъэгъуагъ. Ащ ытхыгъэмэ литературэм иурокхэм нэ1уасэ тащыфэхъу, игеройхэр тищысэ техып1эх. Писателым ирассказхэм, иповестхэм сяджэнэу сик1ас.
    Сэри ащ  иповестэу «Шапсыгъэ пшъашъ» зыфи1орэм игерой шхьа1эу, хэтрэ пшъашъи зыфэдэнэу фаеу, Гулэз сищысэтехып1. Гулэз – 1уш, губзыгъ, гулъытэ чан и1.  Ащ   иш1уагъэрэ изэхэш1ык1ырэк1э чылэм дэс пшъашъэмэ къахэщыщтыгъэ. Ыц1э зэрэ1ущтыгъэр дэн-бзэн 1эпэ1эсагъэу хэлъыгъэхэр ары. Идэхагъэк1э пшъашъэмэ къызэрахэщыщтыгъэм фэдэу, шъуашэу ы1апэ къык1эк1ырэри ц1ыфмэ аш1эжьэу гъуащэщтыгъэп. Пшъашъэм ыц1э дэгъугъэк1э зы1угъэ уж, ащ ыдыгъэ щыгъыныр  зыщыгъымк1э ц1ыфыгъэ нэшанэу алъытэу, щытхъу шъуашэу зыфалъэгъужьэу хъугъэ. Гулэз къызэрэхъухьэгъэ унагъор мэкъумэщыш1э унэгъуагъ, фэш1ыгъэк1э алъытэрэ унагъомэ ащыщыгъ. Анахьэу Гулэз къэзгъэдахэщтыгъэр иакъыл ичаныгъэрэ ишэныш1уагъэрэ иш1ык1э дахэ аголъыжьэу зэрэщытыгъэр ары. Ащ и1ушыгъэ зэк1эми къахэщыщтыгъэ: и1ок1э-ш1ык1эхэм,  изек1уак1эхэм, джэгум Хьатх Мыхьамэт джэуапэу щыритыгъэм.
    Мы повестым игерой шъхьа1эу Гулэз сыгу ч1ып1эшхо щеубыты, лъэшэу сыгу рехьы, ар сищысэтехып1, ащ фэдэ сыхъунэу сыфай.  Мыщ  иобраз, тэ ныбжьык1эхэм, 1эдэб тхэлъыным, ц1ыфыгъэм, шъхьэк1эфэныгъэм, 1ушыгъэм тафегъасэ.

  • Адыгэ хабзэр, адыгагъэр лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэ­зыубыдэ, зэщIэзыIыгъэ Iуэхугъуэшхуэ дыдэу щытащ.
    Ди хабзэм и фащэ нэ­хъыфI, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ­ нэмысымрэ Iыгъыныр, гъэ­зэщIэныр. Абы къызэщIе­у­бы­дэ цIыхум и щIыхьыр зэримыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, щыты­кIэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэ­лъэпIэныр, бзылъхугъэр лъы­тэныр, сабийм хуэса­къы­ныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр, н.къ.
    Адыгэхэм я нэхъыжьым хуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ я лъабжьэр къыщежьэр я нэ­хъыжьхэм ябгъэдэлъ акъылырщ, Iущагъырщ, гупсысэрщ. Адыгэр япэкIэ кIуэ нэ­хъыжьым зэи кIэлъыджэр­къым. Абы лъэщIохьэ, и сэ­м­эгурабгъур зрагъэгъуэт, фIэхъус ирахри, итIанэщ зыхуеймкIэ щеупщIыр. Пса­лъэ­макъ екIуэкIыу щытмэ, нэхъыжь и псалъэ зэпау­дыр­къым.Уеблэмэ, зыгуэр жаIэну хуеймэ, абы хуит зыкъ­рагъэщI.
    Нэхъыжь къахыхьамэ, гупыр мэтэдж, дэнэ и дежи, сыт щыгъуи. Ауэ мыбы гу лъы­тапхъэщ. ГуфIэгъуэ, хьэ­гъуэлIыгъуэ Iэнэм нэ­хъыжь къахыхьамэ, е нэ­хъыжьым щхьэкIэ Iэнэм пэрысхэр тэджауэ зы бжьэ ефэ нэужькIэ, а Iэнэм и тхьэмадэр къэтэджыртэкъым, е къэ­тэджын хуей хъуамэ, и пIэ­кIэ зыгуэр Iэнэм пэрысу къэнэну унафэ хуи­щIырт. Ерыскъы зытелъ Iэнэм нэхърэ нэхъыжь щыIэкъым, абы пэрымысIауэ къэбгъэнэныр хабзэм къезэгъыркъым.
    Зыхуэтэджыр нэхъыжьым и закъуэтэкъым. Къотэджри, нэмыс хуащI хьэщIэми, бзы­лъхугъэми. Гъунэгъути, хамэти — зэхэгъэж щыIэкъым. Я унэ исми, губгъуэм итми зэхуэдэщ. Уеблэмэ, шым тесри тэджу щытащ: абы е уанэгум зриIэтыкIырт, е шым къе­псыхыпэрт.
    Унэми, Iэнэм пэрытIыс­хьэ­ми нэхъыжьым езым и тIы­сы­пIэ иIащ. Ар зыхуэзэр жьан­тIэрщ. Унэм и жьантIэр зэ­хьэлIар къызэрахутэр жьэгум елъытауэщ. Ар унэм ущы­щIыхьэкIэ бжэм и сэмэгурабгъурт. Нэхъыжь щIэс, хьэмэрэ щIэмыс щыIэтэ­къым, абы и пIэм зыри итIыс­хьэртэкъым, зри­гъэ­у­кIуриен дэнэ къэна. Я адэ щыту, е щысу абы и къуэ балигъ, бын унагъуэ хъужахэри тIысыртэкъым, тутын ефэу ирагъэлъагъуртэкъым, фадэ ефауэ, чэфу я адэ бгъэ­дыхьэн жыхуэпIэр — Iэмал закъуэ зимыIэт.
    Нэхъыжьым щыхуэтэджыр ар щалъагъум и закъуэтэ­къым. Абы и цIэр зыгуэрым ириIуауэ зэхахми, пщIэ ящIу заIэтырт.
    НэхъыщIэхэр зыщIыпIэ кIуэнумэ, нэхъыжьым ира­мы­гъащIэу ежьэртэкъым. Абы къагъэзэжамэ, япэу зыщIэупщIэр нэхъыжьхэрт. ЦIыху гъэсауэ, адыгагъэ, цIыхугъэ яхэлъу ялъытэрт нэхъыжь лъэрымыхь хъуауэ хэлъхэм я деж щIыхьэурэ абы щIэупщIэхэр, еуэршэ­ры­лIэхэр, дуней хъыбар езыгъэдаIуэхэр, ечэнджэщхэр.
    Унагъуэм, лъэпкъым и унафэр нэхъыжьхэм яIэщIэлът. Абы я арэзыныгъэ хэмылъу зыри къэхъуртэкъым. Адыгэ уна­гъуэр чэнджэщкIэ псэурт, зэгурыIуэмрэ зэдэIуэ­жым­рэ абы и лъабжьэт.  Дауи, мэлищэ щIакъуэншэ хъуркъым, щыIагъэнщ зы­гуэр­хэри. ГъащIэ щыхъукIэ ап­хуэдэхэри къыхэхуэу щытагъэнущ. Ауэ лъэпкъыр лъэпкъ зэгъэпэщамэ, сыт хуэдэ Iуэхури зэтрауIэ­фIэ­жырт, Iуэхур пэжыгъэм, хабзэм тету зэIубз ящIырт. ЦIыху зэгурыIуэкIэм, лъэпкъ зэ­хэтыкIэм, хабзэм хуэунэ­тIащ адыгэхэм я лIы Iущ, я жы­IакIуэу щыта Къэзано­къуэ Жэбагъы и псалъэ Iущу нобэхэми къыддэгъуэгу­ры­кIуэхэр, бэм я акъылкIэ псыхьа ди адыгэ псалъэжьхэр. Абыхэм куэдым урагъэгупсыс, нэхъыщхьэжыр аращи — хабзэм ухагъасэ, ухуаунэтI, ухуаущий. Къызгу­рыIуа­щэ­рэт, зэхэсщIыкIащэрэт жы­зы­Iэм и дежкIэ куэд и уасэщ мы псалъэжьхэр: «Лъэп­къым и напэр зылIми трехыф, лъэпкъым и щIыхьыр зылIми еIэтыф», «ЛIыгъэ щIа­пIэ лIы икIуадэркъым». Абы яхуэдэщ Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэхэри. Абы зы къуэ закъуэ иIэу арати, мащIэIуэщ, жаIэу цIыхухэр къыщыхуэгузавэм, жэуапу яритащ: «Ар лIы хъумэ, сэ абы срикъунщ, мыхъумэ, зэрылъэпкъыу тхурикъунщ». Сыту фIыт ар дэтхэнэ зы адыгэми, дэтхэнэ зы щIа­лэми игу илъатэмэ.
    Я насыпу плъытэ хъунущ блэкIа зэманыжьым и щIэ­инщ, жаIэу хабзэ дахэхэм емыбэну, емызауэу, ар ира­гъэ­фIэкIуэфу зыIыгъ, зезыхьэ лъэпкъхэм. ИкIи, шэч хэлъкъым, апхуэдэхэм я зэIузэпэщагъыр, я псэукIэр абы куэдкIэ елъытащ. Хабзэ щIэ­ныгъэр Iуэхушхуэм и мыза­къуэу икIи Iуэху инщ. Ар зэи цIыхум зэран хуэхъуа­къым. Зэран хъур щIэщы­гъуэ­щIу, дэтхэнэ зыми ядэплъагъур уемыгупсысу уи гъа­щIэ хэплъхьэну, хыупщэну ущыхэтырщ, уи хабзэ дахэм и пIэкIэ.
    Къызыщыхъу щыIэщ хабзэ умыгъэзащIэу узэры­хуейм хуэдэу упсэумэ, нэхъ тыншу, нэхъыфIу. Дауи, узэрыадыгэр пщыгъупщэжауэ, уи ныбэрэ уи фэрэ фIэкIа нэгъуэщI къыпфIэмыIуэхуу щытмэ, упсэуху упсэунущ. Ауэ щхьэхуещагъэмрэ щхьэ­хуэфIыгъэмрэ псори щIеб­гъэ­­хъумэмэ, узэрыцIыхум къикIыж щыIэкъым. Зи нэ­хъыжь зымыгъэнэхъыжьым, зи адэ-анэ елъэстауэм, зи бзэ, зи хабзэ лъэныкъуэ езы­гъэзым сыт хуэдэ щIэп­хъа­джэри къыпхуищIэфыну ялъытэри, апхуэдэхэм адыгэхэм я дзыхь ирагъэзыртэкъым. ЖаIэрт: «Бзаджэр уи цей къуащIэ къыте­тIыс­хьа­мэ, пыупщIи къэгъанэ».
    МафIэдз Сэрэбий и
    «Адыгэ хабзэ» тхылъым къитхыжащ.

  • Учебно-методическая разработка
    МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны
    Эпиграф
    Узолъагъур си псэм хуэдэу,
    Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
    Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу
    Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у.
    Къанкъул Ф I ыц I э.
    Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
    Мурадыр:
    Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
    Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;
    Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
    Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.
    1. Литературнэ дакъикъэ . Щомахуэ А. «Ди Хэкур».
    Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
    И дахагъри хэт зымыщ1эр!
    Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
    Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
    Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
    1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
    Игу къонэжыр ар зылъагъум,
    Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.
    2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
    Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.
    Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.
    3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
    Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
    Уи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.
    Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
    Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
    Хэкум емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
    Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
    Бзури и абгъуэ щытепщэщ.
    Адыгэ литературэ
    3 нэ класс
    КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ
    I920
    Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах.
    I927-I933
    БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ.
    I934-I936
    Псыхуабэ дэт педрабфакым щIотIысхьэ.ЩоджэнцIыкIу А. .ныбжьэгъу пэж ,гъуэгу гъэлъагъуэ къыхуохъу.
    I936
    Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ,
    I940
    Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ
    I94I
    I948
    Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ.
    Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной».
    I95I
    Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI.
    I950
    «Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI.
    I955
    «Сэлам» усэ тхылъыр.
    I957
    «Си гъусэ» тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж.
    I958
    Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI.
    I966
    Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI.
    4. Словарнэ лэжьыгъэ:
    Къыр таж – жыр мывэ блын лъагэ
    Къунан – илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ.
    Акъужь – жьапщэ.
    Гуэн – гъавэ хъумап1э.
    Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
    Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
    1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
    Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.
    5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:
    Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр !
    Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.
    Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.
    Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.
    Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.
    Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.
    Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.
    Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.
    Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!
    Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.
    Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.
    Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.
    Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.
    Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!
    Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.
    Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ, Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!
    6. Яджар егъэбыдыл1эн:
    Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
    Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;
    Дызыгъэгуф1эр;
    Дызэрыгушхуэр;
    Дызэрыпагэр.
    Зэгъэпщэныгъэхэр:
    « Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
    «Къэхъугъэм и епэр»
    «Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
    «Лэгъупуэ из мазэгъуэр»
    «Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
    «Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
    «Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
    «Аузхэм щызэрахуэ
    Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ»
    «Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
    «Хы щхьэфэу мэбырыб»
    «Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»
    Къэгъэпсэуныгъэхэр:
    «Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
    «Уи ныджэм щопIейтей»
    «Уи губгъуэр зэрахьащ»
    «ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».
    «Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»
    «Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
    «1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
    «ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм»
    Эпитетхэр:
    «Дыщэ губгъуэ»
    «Псы 1элхэр»
    «ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
    «ЩIыпIэ дэгухэм»
    «Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».
    Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.
    Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.
    Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.
    7. Урокым и итог:
    Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
    Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;
    Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын
    8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.

  • Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-
    ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ
    дызытетыр.
    Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар
    Налшык къалэ
    31 – нэ курыт еджап1эм
    адыгэбзэмрэ литературэмк1э
    и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.
    Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,
    Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,
    Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,
    Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.
    Щ. С.
    Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей – Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.
    Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.
    Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.
    Алий и тхыгъэхэмк1э къэбэрдей литературэр гъуэгушхуэ, гъуэгу тэмэм тригъэуващ. Щоджэнц1ык1ум и 1эдакъэщ1эк1хэр тхылъеджэхэм гунэс ящыхъуныр къэзышар усак1уэм и талантырщ, къи1эта 1уэхугъуэхэм я инагъымрэ ахэр тэмэму зэрызэпкърихамрэщ, зыхэпсэухьа гъащ1эм зэрыдэушарщ, и тхыгъэ гъуэзэджэхэр зэрыкупщ1аф1эрщ. Щоджэнц1ык1ум и гупсысэмрэ и къалэнымрэ куэдым нэсащ. Алий ф1ыгъуэу илэжьахэм ящыщ зыщ и геройхэм я гумрэ я псэмрэ я щытык1эр, абыхэм я гуращэр, я гуапэр е я гуауэр къэбэрдей литературэм япэу зэрыщигъэлъэгъуар. Абы и «Къамботрэ Лацэрэ» романым къегъэлъагъуэ патриорхальнэ – феодальнэ щытык1эм Къэбэрдейр щитам ди ц1ыхухэм я псэук1ар, пщыхэмрэ пщыл1хэмрэ яку дэлъа зэныкъуэкъуныгъэр; «Мадинэ» поэмэр адыгэ унагъуэм, абы илъа хабзэм теухуащ; «Тембот и дыгъуасэхэм» къэбэрдей мэкъумэшыщ1эхэм Дзэлыкъуэ къыща1эта восстанэм щыгъуазэ дащ1; «Ныбжьыщ1э хахуэ», «Партизан Жамбот» поэмэхэм ди хэкум граждан зауэр зэрыщек1уэк1ар, нэгъуэщ1хэри.
    Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.
    Щоджэнц1ык1у Алий и бзэр дахэщ, къулейщ. Сэ изогъэщхь ар макъамэ гуак1уэ зыщ1элъ уэрэдым. Щоджэнц1ык1ум щхьэк1э куэдрэ жа1эу зэхыбох : « усак1уэ 1эзэщ». Ауэ, сэ къызэрыслъытэмк1э, Алий дежк1э ар мащ1эщ. Ар псалъэм и художник 1эзэм къыщымынэу, гъащ1эм куууэ пхырыплъыф ц1ыху щыпкъэщ.
    Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.
    Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.
    Нобэ Алий тхэмытыжми,
    Псоми ди гум 1эф1у илъщ.
    Къигъэнауэ и лэжьыгъэр
    Усак1уэшхуэм и фэеплъщ.
    Гъу. Хъу.
    Щоджэнц1ык1у Алий хузоус.
    Адыгэ хэкуу си лъахэм
    Алий ц1эр лъагэу ща1этыр.
    Усак1уэ иным уэ птхахэм
    Кавказ щ1ыналъэр щолъап1эр.
    Уи тхыгъэф1 куэдхэу къэнахэм
    Псэщ1э ц1ыху псоми яхелъхьэр.
    Уи усэ шэрыуэхэр зыджахэм
    Сэри сащыщщи согуф1эр.
    Уи повесть дахэхэм уеджамэ,
    Мыбэяуж гу къеуэр щ1эх.
    Гукъыдэж пщ1ыуэ, ут1ысамэ,
    Узэ1эпешэ, удехьэх.
    Уэ уэщхьу дахэу сытхэфамэ,
    Ар насыпышхуэу сэ сыбжынт.
    Уэ пхуэдэ тхак1уэ здэнт сыхъуамэ,
    Сэ усэ тхынк1и с1уэтэжынт.
    Мы гъащ1э 1эф1ым утемытми,
    Сыт щыгъуи ди гум ущопсэу.
    Мы ди зэманым ухэмытми,
    Уи тхыгъэр куэдрэ тхурепсэу.

  • Азамат Цавкилов Бланэ щалъху мэк1уэж.mp3

    04:45
    6.25 MB
    44.2K


    МУХАМЕД КАШИРГОВ Бланэ щалъху мэк1уэж авторы ВЛАДИМИР МОЛОВ и ЛИУАН ГУБЖОКОВ.mp3

    01:32
    2.02 MB
    1.8K


    Бланэ щалъху мэкIуэж Къумыкъу Жаней.mp3

    28:16
    37.20 MB
    6.6K


    Аслан Бекулов Бланэ щалъху мэкlуэж.mp3

    04:29
    5.90 MB
    1.4K


    Бланэ щалъху мэкIуэж Село.mp3

    04:33
    5.99 MB
    1.9K


    Азамат Цавкилов ОРЕВУАР Official Music Video HD.mp3

    03:29
    4.58 MB
    232K


    Бланэ щалъху мэкIуэж Соснакъ Бассам.mp3

    25:13
    33.19 MB
    1.5K


    Азамат Цавкилов сборник национальных свадебных песен.mp3

    01:54:19
    150.45 MB
    9.8K


    Азамат Цавкилов Бланэ щалху мэкlуэж KAVKAZ MUSIC.mp3

    04:10
    5.48 MB
    1.4K


    Азамат Цавкилов Оревуар Концертный номер 2014.mp3

    03:25
    4.50 MB
    15.6K


    Здесь и сейчас Заслуженный артист КБР Азамат Цавкилов 08 12 2017.mp3

    30:51
    40.60 MB
    1.4K


    А Цавкилов Льагьуныгьэм и уэрэд.mp3

    02:58
    3.90 MB
    751


    Азамат Цавкилов Герои с гор.mp3

    02:40
    3.51 MB
    270


    Азамат Цавкилов Анзор Хусинов И анэ еплъи ипхъу къашэ.mp3

    03:18
    4.34 MB
    94.8K


    Азамат Цавкилов Ди хьэгъуэлIыгъуэщ.mp3

    03:55
    5.15 MB
    48.4K


    Азамат Цавкилов За правду Россия и Кавказ.mp3

    03:17
    4.32 MB
    405


    Азамат Цавкилов Время.mp3

    03:15
    4.28 MB
    8.9K


    Азамат Цавкилов Двое Премьера клипа 2022.mp3

    04:18
    5.66 MB
    14.3K


    Азамат Цавкилов Мама.mp3

    03:31
    4.63 MB
    36.2K


    А Цавкилов Пщащэ тхь1ухуд.mp3

    04:03
    5.33 MB
    3.7K


    Азамат Цавкилов Тек1уэныгъэм и махуэшхуэ День Победы.mp3

    03:27
    4.54 MB
    672


    Азамат Цавкилов Тек1уэныгъэм и махуэшхуэ День Победы.mp3

    03:21
    4.41 MB
    1.1K


    Письмо хуэстхыну сф1эгьуынэгьущ.mp3

    01:59
    2.61 MB
    113


    Азамат Цавкилов Премьера песни 20 августа Къафэт Адыгэ пщащэ.mp3

    01:01
    1.34 MB
    316


    Азамат Цавкилов Письмо Концертный номер 2013.mp3

    02:58
    3.90 MB
    10.6K


    А Цавкилов Гордыи атаман.mp3

    03:18
    4.34 MB
    3.6K


    Азамат Цавкилов Двое Премьера трека 2019.mp3

    04:19
    5.68 MB
    33.9K


    Азамат Цавкилов Гушы1э уэрэд Концертный номер 2013.mp3

    03:48
    5.00 MB
    29.7K


    Азамат Цавкилов Ты Одна Такая.mp3

    03:12
    4.21 MB
    3.6K


    Иугъащ1э Анзорей къуажэ.mp3

    04:03
    5.33 MB
    12.6K


    ДЫГЪЭ БЗИЙ на канале 1 КБР 5 выпуск дыгъэбзий.mp3

    13:43
    18.05 MB
    2.7K


    Азамат Цавкилов Ди хьэгъуэлIыгъуэщ.mp3

    03:31
    4.63 MB
    5.6K


    А Цавкилов Гавана.mp3

    03:47
    4.98 MB
    489


    Азамат Цавкилов Аслан.mp3

    01:01
    1.34 MB
    152


    Азамат Цавкилов Будешь ты моеи.mp3

    03:03
    4.01 MB
    2.6K


    гушы1э.mp3

    48
    1.05 MB
    200


    Азамат Цавкилов Ты меня не жди Shorts.mp3

    35
    786.13 KB
    266K


    054 Азамат Цавкилов Нэф1ыц1ит1.mp3

    02:27
    3.22 MB
    359


    Азамат Цавкилов Даваи задумаемся.mp3

    04:00
    5.26 MB
    3.1K


    Цавкилов Азамат Становая Тяга 205кг.mp3

    50
    1.10 MB
    2.2K


    А Цавкилов Хэкужьыр добгынэ.mp3

    03:34
    4.69 MB
    232


    Азамат Цавкилов Играй музыкант.mp3

    03:27
    4.54 MB
    231


    А Цавкилов Ты меня не жди.mp3

    03:44
    4.91 MB
    10.3K


    Си лъагъуныгъэ.mp3

    03:29
    4.58 MB
    144


    Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ.mp3

    03:14
    4.26 MB
    6.2K


    Адыгэ напэ.mp3

    03:22
    4.43 MB
    1K


    Ма ч1аг1о йолуш болх бу хьо.mp3

    50
    1.10 MB
    19


    Азамат Цавкилов Если б ты знала.mp3

    03:26
    4.52 MB
    699


    Азамат Цавкилов Ты меня не жди Концертный номер.mp3

    03:42
    4.87 MB
    55K


    БОРИС КУЖЕВ Играешь глазами Уогъэджэгу уи нит1ыр автор ХАСАНБИ ШОМАХОВ.mp3

    02:38
    3.47 MB
    718


    20 августа популярный кавказский исполнитель Азамат Цавкилов представил новый клип – на песню «Бланэ щалъху мэк1уэж» (сл. – Л. Губжоков, муз. – Малов В.).

    Красочная история о самом главном – семейных ценностях, домашнем тепле, любви и заботе отснята компанией «ReDreaMedia» в Нальчике. Места для съемок были выбраны не случайно, именно там, в селе Урух родился сам Азамат.

    «Я решил снять клип именно на эту песню, потому в ней заложен глубокий смысл. Это как клич для подрастающего поколения, для молодёжи, чтобы они берегли своих родителей, не покидали их надолго, заботились о них», – говорит артист.

    Азамат Цавкилов: "Этот клип - история о семейных ценностях, домашнем тепле, любви и заботе". Кадр из видео.

    Азамат Цавкилов: “Этот клип – история о семейных ценностях, домашнем тепле, любви и заботе”. Кадр из видео.

    Актеры для видео подбирались тщательно, важно было создать органичный образ семьи и передать те чувства, о которых говориться в песне. Так, отца семейства сыграл Каншоуби Хашев, маму – Людмила Шереметева, жену – Фатима Хавпачева. Все они профессиональные актёры кабардинского театра им. А.Шогенцукова. А маленькому Тамику Маргушеву достались сразу две роли – главного героя в детстве и его сына в настоящем.

    Съемки клипа заняли 3 дня, по словам Азамата, все настолько было отрепетировано и согласовано, что никаких сложностей на площадке не возникло: «Все это благодаря прекрасной работе актёров и, конечно же, замечательной съемочной команде, во главе с профессиональным режиссёром Андзором Емкужевым». Результатом артист остался очень доволен.

    Ну, а те, кто еще не видел клип «Бланэ щалъху мэк1уэж» могут посмотреть его прямо сейчас!

    MBK Аслан Бекулов

    MBK Аслан БекуловБланэ щалъху мэкIуэж (Село)

    слушатьскачать04:32

    Азамат ЦавкиловБланэ щалъху мэк1уэж

    слушатьскачать04:11

    Аслан Бекулов

    Аслан БекуловБланэ щалъху мэкIуэж (Село)

    слушатьскачать04:32

    ХьэхъупащIэ ХьэсэнБланэ щалъху мэкIуэж

    слушатьскачать04:09

    Азамат ЦавкиловБланэ щальху мак1уэж

    слушатьскачать04:30

    Цоукlыл АзмэтБланэ щалъху мэкуэж

    слушатьскачать04:30

    Бекулов Аслан

    Бекулов АсланБланэ щалъху мэкlуэж

    слушатьскачать04:32

    • Тексты песен
    • Азамат Цавкилов
    • Бланэ щалъху мэк1уэж

    Щегъаф1эр хэти и гум
    Щалъхуауэ и къуажэжь
    Химых ар псэм хэтми
    Щалъхуауэ и пщ1энт1эжь.

    Нэк1уэж щэбэтым къуажэм
    Си къуажэр сигу къэк1ащ,
    Сыхущ1эмыхьэу жыс1эу
    Илъэсхэр изгъэк1ащ.

    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж.

    Уэ къыппежьэнщ уи анэр
    Насыпыр 1ыхьэ мыгуэшщ
    Къыпхуэхъуу уэ ани-ади
    Сэ къыспежьэнщ си шыпхъу.

    Нэк1уэж щэбэтым къуажэм
    Си къуажэр сигу къэк1ащ,
    Сыхущ1эмыхьэу жыс1эу
    Илъэсхэр изгъэк1ащ.

    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж.

    1ыхьлыхэри тлъагъунщи
    Зы джэгу дыкъыщыфэнщ.
    Кхъуейжьапхъи едгъэщ1ынщи
    Махъсыми дыкъефэнщ.

    Нэк1уэж щэбэтым къуажэм
    Си къуажэр сигу къэк1ащ,
    Сыхущ1эмыхьэу жыс1эу
    Илъэсхэр изгъэк1ащ.

    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж.

    Зы махуэм махуэр пытщи
    Ди гъащ1эм аурэ хощ1
    К1уэжыныр 1уоху тхуэмыщ1у
    1ыхьлым я жагъуэ дощ1.

    Нэк1уэж щэбэтым къуажэм
    Си къуажэр сигу къэк1ащ,
    Сыхущ1эмыхьэу жыс1эу
    Илъэсыр изгъэк1ащ.

    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж,
    Бланэ щалъху мэк1уэж.

    Еще Азамат Цавкилов

    Популярное сейчас

    • Токийский гуль — Opening оригинал
    • Григорий Лепс и Ирина Аллегрова — Я тебе не верю
    • Из фильма «Достучаться до небес» — Пойми, на небесах только и говорят, что о море.(…) А ты?… Что ты им скажешь? Ведь ты ни разу не был на море.Там,наверху,тебя окрестят лохом…(С)
    • АрХангел — Оригами (feat. Белла)
    • S.T.A.L.K.E.R. Анекдоты из Зоны — Черный Сталкер (vk.com/stalkerjokes)
    • 01. Kolobanga (OST) — Песенка Глюка (OST Колобанга)
    • Mettaton — Hard Drive [RUS]
    • Паша Изотов — Нежно
    • Король и Шут — {Повелительница мух}
    • Татарская народная песня — Туган як
    • Adriano Celentano — La Cura
    • Kagamine Len-kun feat. Girls — +♂-Plus Boy
    • Белый день — Не могу я тебе в день рождения
    • Shaggy — Mister Bombastic

    Другие вопросы по предмету : Другие предметы

    scapper

    politovatanya1

    avalak99

    аня2836

    whale66666

    altaeva81

    Gabela01

    лалала74

    LeysAn11234

    gri6anja20021

    Like this post? Please share to your friends:
  • Бланки экзаменов 9 класс математика
  • Бланки экзамена по литературе
  • Бланки экзамен по математике 9 класс 2021 год огэ
  • Бланки участников егэ
  • Бланки регистрации на экзамене по информатике