Обновлено: 12.03.2023
Езыгъ. -Дэтхэнэ зылъэпкъми и1эщ зы махуэ хэха и ф1ым щыгуф1ык1ыу,и ехъул1эныгъэхэр и1эту. А махуэм лъэпкъым и нэхъыжьи и нэхъыщ1и гуф1эу щызэхохьэ. Адыгэ лъэпкъми ди1эщ апхуэдэ зы махуэшхуэ. фок1адэм и 20 –р Адыгэм и махуэщ. Адыгэм и махуэр махуэ щыхъунур я нэхъыжьхэр я жьант1эу гуф1эгъуэр я1этмэщ.
Махуэшхуэр фок1адэм и 20-р адыгэм махуэшхуэу ягъэлъэп1эныр щ1ытраухуам щхьэусыгъуэ и1эщ.
-Ди адэжьхэм гъавэр къехьэл1эжын яуха нэужьт тхьэлъэ1ушхуэ ящ1у щыщытар. Илъэсыр къызэрехъул1энур ямыщ1эу джэгу яублэу щытакъым.Хуабэр блэк1ауэ,щ1ы1эр къэмысауэ,гъавэм и ныкъуэр кърахьэл1эжарэ, и ныкъуэр губгъуэ илъу,къызыхахынри я1эу гушхуэныр и чэзууэ къалъытэрти ,я хьэгъуэл1ыгъуэхэри абдежт къыщыдахыр.
Къыщынэмыщ1ауэ ,адыгэхэм я махуэр балигъэхэм я закъуэтэкъым зытещ1ыхьар. Абы 1эмал имы1эу хэтын хуейхэм ящыщщ сабийхэр А псор къалъытэри, гъэмахуэ мазэхэр блэк1ауэ, зызыгъэпсэхуахэри къек1уэл1эжауэ, къаруущ1эрэ мурадыщ1эрэ я1эу сабийри балигъри зэрызэхуэсыжыр къалъытэри фок1адэм и 20-р адыгэм и махуэу ягъэлъэп1эныр къалъытащи, ди нэхъыжьхэм дахуэхъуахъуэрэ ди нэхъыщ1эхэр щапхъэу едгъэлъагъуэу, куэдрэ псэун лъэпкъ тхьэм дищ1.
Махуэф1к1э Тхьэр зыхуэупсэм насыпым и бжэр зэ1уех,1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм пэублэ псалъэр хъуэхъум и жьант1эщи,хъуэхъуф1 зылъысын Тхьэм фищ1!
Уафэр къабзэу,щхъуант1эу
щ1ылъэр псомк1и гуак1уэу
мы дунейм тет макъхэр
ц1ыхухэм я щ1эщыгъуэу
къуалэбзу уэрэдхэр
ди щ1ылъэм итыну
дунеишхуэм и ц1ыхубэм
псалъэмакъыу къа1урык1ым
дыгъэ нур хэлъыну
нэмыплъ ц1ыхубэм зрамыту
гужьгъэжьгъхэр яку дэмылъу
хабзэр я1этрэ лъэпкъым къуэтхэу,
нэмыс ящ1рэ я щ1ыхьыр ину.
дэ абык1э дохъуахъуэ!
Езыгъэк1уэк1ым -Ц1ыху гъэсэныр сыт щыгъуи адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъ 1уэхуу, ялъытэр. Дэ ди къалэнщ лъэпкъым къыхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ц1ыху нэс къыхэтщ1ык1ыну. Ц1ыхум гъащ1эм щиубыдыну увып1эр елъытащ абы игъуэта гъэсэныгъэм.
Адыгагъэ, ц1ыхугъэ, адыгэ напэ, ек1у, емык1у жыхуэт1эхэр ф1ыуэ зэхащ1ык1ыу, я щхьэм пщ1э хуащ1ыжыфрэ загъэлъэп1эфу, я адэ-анэм, я лъэпкъым хуагъэфащэ хъунумрэ мыхъунумрэ зэхагъэк1ыфу ди сабийхэр къэгъэтэджыныр адэ-анэхэми, егъэджак1уэхэми – дэтхэнэ балигъми ди къалэн нэхъыщхьэщ.
Адыгэ хабзэм къызэщ1иубыдэ дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми езым и лъабжьэ, и къежьап1э и1эжщ. Адыгэ хабзэр къызэрыгуэк1 1уэху ц1ык1укъым.
Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар ,
Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.
Хабзэращ лъэпкъым и жьэгупащхьэр зыгъэблар,
Нэхъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумар.
Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уар,
А зыращ щ1алэм дамэ лъэщу къыхихар,
Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар,
Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.
Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар
Хабзэращ нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар,
Уэ зыращ, Хабзэ, ди къэк1уэнур зыпытщ1ар,
Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.
Ижь –ижьыж лъандэрэ ди щ1ып1эм къихьа дэтхэнэ зыри и дахагъым дехьэх,ар япэу щалъагъум пщ1ыхьэп1э дахэм хуэдэу къащохъу ик1и щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Езыгъ.- Ди хабзэм и фащэ нэхъыф1, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр, гъэзэщ1эныр.Адыгэр япэк1э к1уэ Нэхъыжь зэи к1элъыджэркъым. Ат1э лъэщ1охьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, ф1эхъус ирахри, ит1анэщ щеупщ1ыр.
Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр щхьэ лъап1э ихуэкъым,же1эр адыгэм.Мы псалъэжь 1ущым щ1элъыр аращи,нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1ым адыгэхэм зэи фэ ираплъу щытакъым.
Нэхъыжь блэк1ым ,сыкъоувы1э,
Зэпызупщ1ыркъым и гъуэгу,
Ар блэк1ыхук1э гъуэгу симы1э,
Хабзэм хъурэ удэджэгу.
Дади Нани я т1ысып1э
Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.
Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1э,
Яхузощ1ри пщ1э, нэмыс.
Лъэпкъым щхьэузыхь сыхухъуи!
Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.
Сощ1э ф1ыуэ ,жьы сыщыхъуи,
Згъуэтыжыныр нобэ сщ1арщ.
Ц1ыхур ц1ыхум зэхищ1ык1ым
Псоми дощ1эр – ар ц1ыхугъэщ,
Адыгагъэр – ар дахагъэщ,
Адыгагъэр – ар къабзагъэщ.
Адыгагъэр – ар пэжыгъэщ,
Адыгагъэр ди адыгэм
Адыгэпсэм ар и фащэщ,
Адыгэбзэм ар и щэнщ.
Нэхъыжьыф1хэу дади, нани ,
Гуащи, щауи, пщащэ ц1ык1уи –
Псори, псори зыгъэдахэр,
Я гуф1эгъуэхэр къэзы1этыр,
Я гугъехьыр зыгъэпсынщ1эр,
Я ц1ыху щ1ык1эу – адыгагъэрщ.
1эдэбагъщ, 1эсагъэщ, л1ыгъэщ.
Адыгагъэр – ар къарущ.
Адыгагъэр – ар ф1эл1ык1щ.
Адыгагъэр адыгэм и фэщ,
Адыгагъэр адыгэм ипкъщ,
Псэри, бзэри адыгагъэщ зейр,
Адыгагъэр адэм и псэщ…
Псэр хэк1ыжмэ ,къэнэжыр сыт.
Адыгэ хабзэр нэмысым, ц1ыхугъэм, л1ыгъэм, пэжыгъэм, ныбжьэгъугъэм , хьэщ1эм пщ1э хуэщ1ыным къыгуэх имы1эу епхащ. Ик1и а лъэп1эныгъэхэр ди лъэпкъым куэд щ1ауэ къыдогъуэгурык1уэ .Ар ди гъащ1эм и набдзэщ, ди гъащ1эм и купщ1эщ.
-Адыгагъэ,адыгэ хабзэ,нэмыс, дэтхэнэми пщ1э хуищ1у щытын хуейщ езым къыдалъхуа бзэм, и анэбзэм.Сыту жып1эмэ,бзэм и псалъэ дэтхэнэми хэпщауэ щытщ гур зыгъэгуф1э,дахагъэ 1уэхугъуэхэр уэзыгъэлэжь, ф1ым укъыхуезыджэ налъэхэр. Бзэм къаруушхуэ и1эщ щ1эблэм и гъэсэныгъэм и лъэныкъуэк1э.
Адыгэ къафэ, адыгэ къафэ
Адыгэм псэ и1эм и1эр уэращ.
Уэ уи макъамэ дуней гъэдахэм
Щ1эдэ1ум и псэм зэуэ зехъуэж.
-Адыгэ хабзэм хохьэ, адыгэ къафэри. Тэмэму, нэмыс пхэлъу утыку уитыныр.
Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зи1э къэхъукъащ1эщ.Адыгэ къафэ!Ар лъыр зыгъэжанщ,ц1ыхур зыгъэдахэщ,хьэл-щэн дахэр , ди лъэпкъым и 1эдэбагъыр,и щэныф1агъыр на1уэ къэзыщ1щ.
Езыгъ. — Ц1ыхур зэрыц1ыхур ищ1эжын щхьэк1э и хабзэм, и напэм, и лъэпкъым егупсысын хуейщ, и адэ-анэр игъэпэжу, абы яхуэфащэу, Нэхъыжьым пщ1э хуащ1у дунейм тетын хуейщ.
— Ди зэ1ущ1эр и к1эм ноблагъэ.Дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми лъабжьэ хуэхъуам хъуэхъу хужа1эж. Дэри ди гуапэу, гуми псэми къабгъэдэк1ыу дыхуейщ нобэ кърихьэл1а псоми хъуэхъук1э зыфхуэдгъэзэну.
Мастер-класс для учащихся 11 класса. Целью являлось выяснить знания учащихся по данной теме.
Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ
Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.
Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ. (Нало З.)
Мастер-классым и темэр:
Мастер-классым и мурадхэр:
1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;
2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм гъэсэныгъэ хэлъхьэн;
3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;
4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.
— Псэ къабзэ
-Псы къабзэ
-Пэж къабзэ
— Напэ къабзэ
— Уафэ къабзэ
— Жьы къабзэ
-Тетрадь напэ
Урокым и эпиграфыр:
Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,
Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр.
Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,
Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ напэрщ.
Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,
Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ.
ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр,
МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.
Псалъэжьхэр
ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.
Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр
Нурыр къыщхьэщех,
ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу
ЛIым и хьэдэр дах.
Напэ къабзэм и къабзагъэр
Дыгъэ бзийм хыхьащ.
Анэ псоми я быдзышэм
Бынхэм хухалъхьащ.
Псалъэжьхэр
Бзэм зегъэужьын:
Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,
къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.
Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху
Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью , Ни днем, ни ночью, никогда!
Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, — жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей — Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм. Елгъэр Кашиф .
Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей. К1уащ Бет1ал.
« Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ
(Жылэтеж Сэлэдин)
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр: Нало Заур теухуа гъэлъэгъуэныгъэхэр(выставкэ),усак1уэм папщ1э гъэхьэзыра видео теплъэгъуэр,презентацэхэр,псалъалъэхэр,тест лэжьыгъэхэр,сурэтк1э зэрылэжьэну 1эмэпсымэхэр.
Урокыр зэрек1уэк1ынур.
1. Пэублэ ,урокым хуэзыгъэуш дакъикъэхэр.
Егъэдж. Махуэф1к1э нобэ сыфхуоусэ,ц1ык1ухэ!Ди дерсым сыхуейт ирищ1эддзэну мы видео пычыгъуэмк1э.(Нало Заур теухуауэ Москва щрагъэк1уэк1а пшыхьым и зы пычыгъуэ доплъ).
Иджы сыхуейт къызжеф1эну-хэт ди псалъэмакъыр зыхуэгъэпсар нобэ?
Еджак1уэхэм упщ1эм и жэуапыр къа1уатэ.
Егъэджак1уэ:Пэж дыдэщ.Мы пычыгъуэм зытепсэлъыхьыр лъэпкъ литературэм зи гуащ1эр щхьэузыхь хуэзыщ1а,ц1ыхупсэм ехуэбыл1э тхыгъэ купщ1аф1эхэр зи къалэмыпэм къыщ1эк1а,псоми ф1ыуэ ялъагъу Нало Заурщ.
2.Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын
Нало Заур и 1эдакъэщ1эк1ыу дэ дызэджахэм сыт хуэдэ тхыгъэр ящыщ?-мы упщ1эр хэзышэ дощ1 унэ лэжьыгъэр къэпщытэжыным.Адэк1э едджак1уэхэр къыдопщытэж.
1) Упщ1эхэмк1э гъэлэжьэн
Егъэдж.
Доскам псори доплъ.
Доскам Нало Заур и сурэтыр ф1элъщ, итщ:
-Сытк1э пыщ1а мы илъэс бжыгъэхэр Нало Заур и гъащ1эм?
1. 1928гъ. 4. 1954гъ.
2. 1948гъ. 5. 1956гъ.
3. 1952гъ 6. 1959гъ.
1928гъ – Старэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ.
1948гъ – къуажэ еджап1эр ф1ы дыдэу къеух, Къэбэрдей – Балъкъэр пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмрэ и отделенэм щ1от1ысхьэ.
1952гъ – пединститутыр къеух, институтым егъэджак1уэу лэжьэн щ1едзэ.
1954гъ – Къэбэрдей – Балъкъэр щ1эныгъэ – къэхутак1уэ институтым щылэжьэн щ1едзэ ик1и, нобэр къыздэсым, Нало Заур абы щолажьэ.
1955гъ – къыщыщ1эдзауэ дунейм къытохьэ Налом и тхыгъэхэр, сабийхэм папщ1э усэхэр, рассказхэр, новеллэхэр.
Балладэ-тхыдэм е таурыхъым къыхаха сюжетым тету строфаурэ тха усыгъэ мыин.
Строфа-усэм и 1ыхьэ,часть стиха.
Усэ-усак1уэхэм зэгъэк1уауэ псалъэк1э зэхалъхьа тхыгъэ мыин.
Усак1уэ-усэ зэхэзылъхьэ ц1ыху.
Усэн-слагать,сочинять.
— Зытепсэлъыхьым и щытык1эр зэхэщ1эгъуэу, нэгум къыщ1агъэхьэу, къа1уэтэж щхьэк1э, ар нэгъуэщ1 зыгуэрым ирагъэщхьу, ирагъапщэу къыщыжа1эм деж зэгъэпщэныгъэк1э йоджэ.
Егъэдж. Дэтхэнэ зы усэ едзыгъуэми фыкъеджурэ къыжыф1эт. Усак1уэм удым и шыфэл1ыфэр къыщигъэлагъуэк1э сыт хуэдэ художественнэ 1эмал къигъэсэбэпми.
— Сыт хуэдэ пщ1э хуищ1рэ усак1уэм ц1ыху напэм? Фэ сыт хуэдэ щытык1э хуви1э ц1ыху напэм?(Дэтхэнэ зы усэ едзыгъуэми усак1уэм къыщегъэсэбэп зэгъэпщэныгъэхэр,егъэлеиныгъэхэр.Усак1уэм напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ди пащхьэ псалъэк1э кърелъхьэ.Ц1ыхум псори ф1эк1уэд хъунущ,ауэ напэр зыф1эк1уэдам ф1ок1уэдыр гъащ1э дахэр,дыгъэпс гуапэр,ц1ыхум и пщ1эр.
3.Темэщ1эр егъэджын.
Макъамэ гуапэ къоуэ.
2) Упщ1эхэр гъэувын,абыхэмк1э ещанэ 1ыхьэр зэпкърыхын.
—Ет1уанэ илъэсым удыр къэк1уащ л1ыжьым и напэр ихьыну.
-Напэм и п1эк1э удым ихьар сыт?
—Удым напэр л1ым къыщримытым сыт хуэдэ 1эмал удыр зыхуэк1уэр?
—Сыт усак1уэм л1ымрэ удымрэ я образхэмк1э дигъалъэгъуну зыхуеяр?
— Ц1ыхугъэр, ц1ыху напэр псом ящхьэу зэрыщытыр дауэ къигъэлъэгъуэфа усак1уэм?
— Ц1ыхугъэмрэ напэмрэ псом нэхърэ нэхъ лъап1эу зэрыщытыр Нало Заур къыдигъэлъэгъуащ л1ым и напэм и п1эк1э и гурыгъугурыщ1эхэр къызэри1уатэ и бзэр, дунейм и дахагъэр зэрилъагъу и нэр, уеблэмэ, и псэ дыдэри удым зэрыритымк1э. И бзэм, и нэм, и псэм нэхърэ нэхъ лъап1эу къилъытащ абы и ук1ытэмрэ и напэмрэ.
Ижь – ижьыж лъандэрэ адыгэм псом япэ иригъэщу щытащ и напэр, и ц1ыхугъэр. Адыгэхэм пщ1э хуащ1ырт напэ зи1э, ц1ыхугъэ зыбгъэдэлъ ц1ыхухэм. Нэмыплъ иратырт зи напэпэри зи ук1ытэри 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абы и щыхьэтуи ди бзэм псалъэжь куэд къыхэнащ. Фэ фщ1эуэ п1эрэ ц1ык1ухэ, апхуэдэ псалъэжь.(слайдым тет псалъэжьхэр еджак1уэхэм я пащхьэ идолъхьэ)
— Псэр ящэри напэ къащэху.
— Нэмыс зи1эм насып и1эщ.
-Ук1ытэр щагъуэтым бжэкъуагъым къуэсащ.
— Напищэ нэхърэ зы напэ.
-Ук1ытэ зимы1эм ц1ыхугъи и1энкъым.
—Балладэр Щоджэнц1ык1у Алий и фэеплъу зэрыщытар дощ1э. Хэт жи1эн сыту п1эрэ усак1уэм мы тхыгъэр Щоджэнц1ык1у Алий фэеплъ щ1ыхуищ1ар?
И дуней тетык1амк1и, и къигъэнахэмк1и къилэжьыжащ Щоджэнц1ык1у Алий апхуэдэ тхыгъэ гъуэзэджэ, нэгъуэщ1 куэди фэеплъ хуащ1ыныр.
Сыхуейт удым и теплъэр зы еджак1уэм ищ1ыну,адрейм напэ,ук1ытэ,л1ыгъэ псалъэхэр тегъэщ1ап1э зыхуэхъун теплъэгъуэ.
4.Егъэбыдыл1эн
Балладэм и ещанэ 1ыхьэм еджак1уит1-щы къегъэджэн,еджак1уит1ым тест лэжьыгъэхэр егъэщ1ыжын:
Тхыгъэм и ещанэ 1ыхьэр:
Гъатхэ пасэщ ещанэгъэр,
Пц1ащхъуэр уэгум щос.
Л1ыжьыр дэлъу гъатхэ дыгъэм
Удыр занщ1эу къос.
Блэм и щ1ыфэу,уд 1э гъурыр
Л1ыжьым ще1усам,
Щылъэтащ ар щтэ1эщтаблэу
Ещхьу блэ зэуам.
«Сувы1энкъым,-же1э удым,-
Сымыхьау уи напэр;
Зэф1эк1ынущ ар тынш дыдэу,
Що1усам си 1эпэр.
Уи ук1ытэр сэ къызэптым,
Уи яужь сок1ыж.
Уи ни уи бзи уи ук1ытэм
Пэк1уэу узотыж.
Ц1ыхум напэр зэран хуохъур,
Насыпыншэ ещ1.
Ц1ыхум напэр игъэлъап1эм,
«Хьэуэ!-же1эр л1ыжьым игук1э,
Зыми димыхьэх:
-Сэ схуэщэнкъым си ук1ытэр,
«Ауэ щыхъук1э,-же1эр удым,-
Телъхьэ ин пхузощ1:
Дунеишхуэм ф1ыгъуэу телъыр
«Хьэуэ!-же1э л1ыжьым игук1э,-
Ухэмыт а псом,
Ук1ытэншэу упсэу нэхърэ
«Армэ хъункъэ,-же1эр удым,-
Уи псэр къыхызох.
Уи ук1ытэр уигу пымык1ым,
Нэпсу нэм къыщ1ок1.
Асыхьэтым щ1оху и лъакъуэр,
Хуэму и псэр хок1.
Тест упщ1эхэр:
1. Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ…
б) К1ыщокъуэ Алим
в) Щомахуэ Амырхъан
а) Щоджэнц1ык1у Алий
б) Джэдгъэф Борис
4. Цы 1уданэ плъыжьк1э и нэр
Псалъэу жи1эм гур е1ул1эр
Ещхьу хуэш хыхьам.
Мы псалъэхэр зытепсэлъыхьыр…
а) етхуанэ классым;
б) еханэ классым;
Классым щ1эс еджак1уэхэм упщ1э яхуэгъэувын:мы балладэр зытепсэлъыхь 1уэхугъуэр фэ къыфщыщ1амэ,сыт хуэдэ хэк1ып1эт фи1энур?Дунейм фи бзэр бзэрабзэу,нэхэм дахагъэ псори ялъагъуу фытетынут напэр фимы1эжу,хьэмэрэ а дахагъэ псоми фыхуэхейуэ,ауэ фи напэр хужьу фыпсэупхъэт.Жэуап къатахэм ипкъ итк1э еджак1уэхэр гупит1у гуэшын.Апхуэдэ жэуап къызэратам тегъэщ1ауэ я гупсысэхэр утыку кърегъэлъхьэн.
5.Урокыр зыщ1экъуэжын
Егъэдж. -Ц1ык1ухэ,урокыр иризэщ1эткъуэжыну сыхуейт синквейнк1э.Псалъэхэр:напэ,л1ыгъэ,уд
- Для учеников 1-11 классов и дошкольников
- Бесплатные сертификаты учителям и участникам
Описание презентации по отдельным слайдам:
Гъащ1эм хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу ц1ыхум бгъэдэлъыр:
Ф1ы, лъагъуныгъэ, шы1эныгъэ, пщ1э, напэ, къабзагъэ, пэжыгъэ, намыс, гущ1эгъу, гуф1эгъуэ,
Акъыл
Ц1ыхур зэрыгупсысэ,
зэрызэхищ1ык1 .
Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур
–пэжыгъэщ.
Напэм и пэ псэр ихуэ.
Псэр щэй напэ къщэху.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зи1эм л1ыгъэхэлъщ.
Дауэ зэрытхъумэныр ди напэр ?
Жэуапыр
Сытым щыгъуи пэжыр жыт1эфу дыщытын, ди щыуагъэхэр къэдгъуэтыжыфу дыщытын, гъэгъуныгъэ,ук1ытэ тхэлъын.
Напэ зимы1э ц1ыху.
Ук1ытэ,хабзэ зыхэмылъ,зым щхьэк1и зи дзэ мыш ц1ыху.
Напэ зезыхьэ ц1ыхум и сурэт
Абы сыт хуэдэ 1уэхури пэжыгъэ хэлъу елэжь…(пц1ы хэмылъу, и гум къыбгъэдэк1ыу.)
Ар – ц1ыху …(захуагъэм и телъхьэщ., дзыхь ебгъэз хъунущ., 1уэху зыпэрыувэм пэжу бгъэдэдтщ. )
Абы и сыт хуэдэ лъэбакъуэри пэжаъэм,захуагъэмтету еч. (егупсысауэ.)
Абы ищ1энукъым 1уэхугъуэ …(щ1эук1ытэн, и щхьэр щ1рихьэхын.абы мылъку е ахъшэ къыпэк1уэну щытми.)
Ар блэк1ынукъым …(ц1ыхум сэбэп хуэхъуфыну ищ1эмэ)
Напэ зи1э ц1ыхум щыуагъэ къы1эщ1эщ1ауэ щытмэ.. (ар щ1огъукэж ), ик1и …. (ироук1ытэж).
Напэр къегъэлъагъуэ…(ц1ыхум и гум илъымрэ и дуней тетык1эмрэ).
Абы ц1ыхур хуеущий… (ф1ым, пэжыгъэм,захуагъэм).
И жагъуэ мэхъу… (мыхъумыщ1агъэ щилъагъум деж).
Рефлексия.
Псалъэухар нэгъэсыж.
Сэ нобэ къэсщ1ащ…
Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ…
Гугъут.…
Сэ къызгуры1уащ, …
Сэ зэхэсщ1ащ, …
Сэ сыдихьэхащ.…
Урокым сэ къызгуригъэ1уащ.…
Сэ сыхуейщ.…
Читайте также:
- Чайковский вальс снежинок сочинение
- Принципиальность это сочинение 9 3
- Сочинение керпе на татарском 5 класс
- Сочинение про данила козловского
- Монстр хай школьное сочинение
Скачать материал
Скачать материал
- Сейчас обучается 104 человека из 34 регионов
- Сейчас обучается 24 человека из 16 регионов
- Сейчас обучается 24 человека из 17 регионов
Описание презентации по отдельным слайдам:
-
1 слайд
Нало Заур
«Ц1ыху напэ»
7 класс -
2 слайд
Гъащ1эм хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу ц1ыхум бгъэдэлъыр:
Ф1ы, лъагъуныгъэ, шы1эныгъэ, пщ1э, напэ, къабзагъэ, пэжыгъэ, намыс, гущ1эгъу, гуф1эгъуэ, -
3 слайд
Акъыл
ц1ыхугъэ
напэ -
4 слайд
Акъыл
Ц1ыхур зэрыгупсысэ,
зэрызэхищ1ык1 . -
5 слайд
Воля — гушхуэныгъэ,хущ1экъуныгъэ,ф1эф1ыныгъэ,хуитыныгъэ.щхьэхуитыныгъэ.
-
6 слайд
Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур
–пэжыгъэщ.
Напэм и пэ псэр ихуэ.
Псэр щэй напэ къщэху.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зи1эм л1ыгъэхэлъщ. -
7 слайд
Напэ-къабзэщ,хужьщ,къо-упщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ,хеящ1э нэхъыщхьэщ.
-
8 слайд
Дауэ зэрытхъумэныр ди напэр ?
-
9 слайд
Жэуапыр
Сытым щыгъуи пэжыр жыт1эфу дыщытын, ди щыуагъэхэр къэдгъуэтыжыфу дыщытын, гъэгъуныгъэ,ук1ытэ тхэлъын. -
10 слайд
Напэ зимы1э ц1ыху.
Ук1ытэ,хабзэ зыхэмылъ,зым щхьэк1и зи дзэ мыш ц1ыху.
-
11 слайд
«жить по совести»
Когда человек не выполнил того, что был обязан сделать, схитрил, обманул кого-то.
Жить честно, справедливо.
Делать что-либо хорошо, добросовестно.
Поступать нравственно.
«жить против совести»
Поступать без стыда, без стеснения.
Жить спокойно, не испытывая угрызения совести. -
12 слайд
Напэ зезыхьэ ц1ыхум и сурэт
Абы сыт хуэдэ 1уэхури пэжыгъэ хэлъу елэжь…(пц1ы хэмылъу, и гум къыбгъэдэк1ыу.)
Ар – ц1ыху …(захуагъэм и телъхьэщ., дзыхь ебгъэз хъунущ., 1уэху зыпэрыувэм пэжу бгъэдэдтщ. )
Абы и сыт хуэдэ лъэбакъуэри пэжаъэм,захуагъэмтету еч. (егупсысауэ.)
Абы ищ1энукъым 1уэхугъуэ …(щ1эук1ытэн, и щхьэр щ1рихьэхын.абы мылъку е ахъшэ къыпэк1уэну щытми.)
Ар блэк1ынукъым …(ц1ыхум сэбэп хуэхъуфыну ищ1эмэ)
Напэ зи1э ц1ыхум щыуагъэ къы1эщ1эщ1ауэ щытмэ.. (ар щ1огъукэж ), ик1и …. (ироук1ытэж).
Напэр къегъэлъагъуэ…(ц1ыхум и гум илъымрэ и дуней тетык1эмрэ).
Абы ц1ыхур хуеущий… (ф1ым, пэжыгъэм,захуагъэм).
И жагъуэ мэхъу… (мыхъумыщ1агъэ щилъагъум деж). -
13 слайд
Рефлексия.
Псалъэухар нэгъэсыж.Сэ нобэ къэсщ1ащ…
Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ…
Гугъут.…
Сэ къызгуры1уащ, …
Сэ зэхэсщ1ащ, …
Сэ сыдихьэхащ.…
Урокым сэ къызгуригъэ1уащ.…
Сэ сыхуейщ.… -
14 слайд
Унэ лэжьыгъэ
1. «Ц1ыху напэ»балладэм гъэхуауэ еджэн
2. Сочиненэ к1эщ1 тхын «напэмрэ ц1ыхугъэмрэ.»
Найдите материал к любому уроку, указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:
6 157 019 материалов в базе
- Выберите категорию:
- Выберите учебник и тему
- Выберите класс:
-
Тип материала:
-
Все материалы
-
Статьи
-
Научные работы
-
Видеоуроки
-
Презентации
-
Конспекты
-
Тесты
-
Рабочие программы
-
Другие методич. материалы
-
Найти материалы
Другие материалы
- 26.11.2021
- 150
- 3
- 26.11.2021
- 742
- 35
- 26.11.2021
- 139
- 6
- 26.11.2021
- 124
- 1
- 26.11.2021
- 131
- 0
- 25.11.2021
- 109
- 0
Вам будут интересны эти курсы:
-
Курс профессиональной переподготовки «Управление персоналом и оформление трудовых отношений»
-
Курс повышения квалификации «Организация практики студентов в соответствии с требованиями ФГОС юридических направлений подготовки»
-
Курс профессиональной переподготовки «Организация деятельности по подбору и оценке персонала (рекрутинг)»
-
Курс повышения квалификации «Финансы: управление структурой капитала»
-
Курс повышения квалификации «Организация маркетинга в туризме»
-
Курс профессиональной переподготовки «Организация системы менеджмента транспортных услуг в туризме»
-
Курс профессиональной переподготовки «Уголовно-правовые дисциплины: теория и методика преподавания в образовательной организации»
-
Курс профессиональной переподготовки «Организация и управление процессом по предоставлению услуг по кредитному брокериджу»
-
Курс профессиональной переподготовки «Гражданско-правовые дисциплины: теория и методика преподавания в образовательной организации»
-
Курс профессиональной переподготовки «Управление качеством»
-
Настоящий материал опубликован пользователем Чеченова Оксана Заурбиевна. Инфоурок является
информационным посредником и предоставляет пользователям возможность размещать на сайте
методические материалы. Всю ответственность за опубликованные материалы, содержащиеся в них
сведения, а также за соблюдение авторских прав несут пользователи, загрузившие материал на сайтЕсли Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с
сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.Удалить материал
-
- На сайте: 1 год и 3 месяца
- Подписчики: 0
- Всего просмотров: 2750
-
Всего материалов:
3
Кабардино – Балкарский
государственный университет
им.Х.М. Бербекова
Конкурс эссе
«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»
«Напэр псэм япэщ»
Лэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:
Бахъсэн къалэ дэт етхуанэ
еджап1эм
и епщ1анэ классым щеджэ
Азычэ Ясминэ
Егъэджак1уэр:
Л1эужь Залинэ
2021 гъ.
Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар. ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, усакIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэуал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэуатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр. Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ. ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI… ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.
Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр
Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!
Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,
ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!
ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,
КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,
Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ
ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.
Окопым
къокIри зы долъей,
И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.
ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,
Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.
Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.
ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:
«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,
Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»
1945 гъ.
(К1ыщокъуэ
Алим)
Слайд 1Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ
Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.
Слайд 2Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ.
(Нало З.)
Слайд 3Мастер-классым и темэр:
«Псэм и пэ- напэ.»
Слайд 4Мастер-классым и мурадхэр:
1. напэ псалъэм и мыхьэнэр
гъэбелджылын;
2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм
гъэсэныгъэ хэлъхьэн;
3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;
4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.
Слайд 5- Псэ къабзэ
-Псы къабзэ
-Пэж къабзэ
— Напэ къабзэ
— Уафэ къабзэ
— Жьы къабзэ
-Тетрадь напэ
Слайд 6Урокым и эпиграфыр:
Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,
Я фIэнэхъ къабзэр,
мазэм хуагъадэр.
Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,
Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ
напэрщ.
Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,
Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ.
ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр,
МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.
Слайд 7Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
Напэм ипэ псэр ихуэ.
Псэр щэи
напэ къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зиIэм
лIыгъэ хэлъщ.
Напэ зимыIэм сыт епщIэфын!?
Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ.
ЛIэныгъэми лIыгъэ хэлъщ
Е улIын, е улIэн
Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
Е пщIауэ фIым ущымыгугъ.
ИкIута из хъужыркъым
Слайд 8-Сэ си напэр , си ук1ытэр
Уэстынкъым, сыл1ам!
СУхуейм сыгъэпщыл1.
С1ихыфыну
сэ си напэр
Дунейм теткъым зыл1.
Напэншэу сыпсэу нэхърэ
нэхъыф1щ
сымыпсэум
1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.
Слайд 9ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.
Слайд 10Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр
Нурыр къыщхьэщех,
ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу
ЛIым и
хьэдэр дах.
Напэ къабзэм и къабзагъэр
Дыгъэ бзийм хыхьащ.
Анэ псоми я быдзышэм
Бынхэм
хухалъхьащ.
Слайд 11Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
Напэм ипэ псэр ихуэ.
Псэр
щэи напэ къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ
зи1эм л1ыгъэ хэлъщ.
Напэ зимы1эм сыт епщ1эфын!?
Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ.
Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ
Е ул1ын, е ул1эн
Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ.
Ик1ута из хъужыркъым
Слайд 12Бзэм зегъэужьын:
Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,
къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.
Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху
Слайд 13Какие б ни грозили горести,
И где бы ни ждала
беда,
Не поступайся только совестью,
Ни днем, ни ночью, никогда!
Слайд 14Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, — жаIэ.
Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей
—
Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм
Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм.
Елгъэр Кашиф.
Слайд 15Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус,
Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей,
Губжьк1э бдзы
уи 1упсыр
Къэнэжынщ уи дей.
К1уащ Бет1ал.
Слайд 16«Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри
дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ
псом нэхърэ нэхъапэр,си щ1алэ.»
Слайд 17«…Напэр — лъапIэщ,
Напэр сытми япэщ!…»
(Жылэтеж Сэлэдин)
Слайд 18«… Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри
Пумылъыт уэ напэм.
ЛIы хуэдэлIым
псэри гури
Къуитыфынущ япэ!…»
(Жылэтеж Сэлэдин)
Слайд 19 Синквейн:
Напэ
къабзэщ,хужьщщ;
къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ;
хеящ1э нэхъыщхьэщ;
Псэм ипэ- напэ.
Слайд 20Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди цIыху, ди адыгэ напэм.
Лъэпкъ напэр тезымыхын,
зи
напэр темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!
Темэр: Нало Заур «Ц1ыху напэ». Мурадхэр:
«Ц1ыху напэ» балладэм и иужьрей
щхьэр зэпкърыхын; балладэм щ1элъ
нэхъыщхьэр – ц1ыхум и напэм, ц1ыхугъэм нэхъ
лъап1э, нэхъ лъагэ зэрыщымы1эр еджак1уэхэм
зыхегъэщ1эн, еджак1уэхэм я бзэм зегъэужьын.
Урокым къыщыбгъэсэбэпыпхъэхэр:
1. Нало Заур и сурэтыр, и тхыгъэхэр (тхылъхэр).
2. Балладэм щыщ пычыгъуэхэм еджак1уэхэм хуащ1а сурэтхэр.
3. Удым и фащэ, л1ыжьым и фащэ.
Урокым и ек1уэк1ык1эр:
I. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэн.
1. Урокым еджак1уэхэм къапэщыт къалэнхэм щыгъуазэ щ1ын.
— Нобэ, ц1ык1ухэ, дэ пытщэнущ Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэм теухуа псалъэмакъым.
Япэ щ1ык1э унэ лэжьыгъэу ди1ар къэтпщытэжынщ. Япэ упщ1эр зытеухуауэ щытыр Нало Заур и гъащ1эм щыщ 1уэхугъуэхэрщ. Доскам псори доплъ.
Доскам Нало Заур и сурэтыр ф1элъщ, итщ:
Сытк1э пыщ1а мы илъэс бжыгъэхэр Нало Заур и гъащ1эм?
1. 1928гъ. 4. 1954гъ.
2. 1948гъ. 5. 1956гъ.
3. 1952гъ 6. 1959гъ.
1928гъ – Старэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ.
1948гъ – къуажэ еджап1эр ф1ы дыдэу къеух, Къэбэрдей – Балъкъэр пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмрэ и отделенэм щ1от1ысхьэ.
1952гъ – пединститутыр къеух, институтым егъэджак1уэу лэжьэн щ1едзэ.
1954гъ – Къэбэрдей – Балъкъэр щ1эныгъэ – къэхутак1уэ институтым щылэжьэн щ1едзэ ик1и, нобэр къыздэсым, Нало Заур абы щолажьэ.
1955гъ – къыщыщ1эдзауэ дунейм къытохьэ Налом и тхыгъэхэр, сабийхэм папщ1э усэхэр, рассказхэр, новеллэхэр.
— Дигу къэдывгъэк1ыжыт балладэк1э зэджэр?
— Балладэр усэу тхащ. Абы усак1уэм и зэхэщ1эныгъэм нэмыщ1и гъащ1эм къыщыхъу, л1ыгъэк1э гъэнщ1а 1уэхугъуэр къегъэлъагъуэ. Балладэм и щапхъэщ Абыт1э Хъызыр «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ»; Нало Заур «Ц1ыху напэ»; Жуковскэм «Светланэ», «Кубок» тхыгъэхэр.
— Нало Заур «Ц1ыху напэ» балладэр хэт фэеплъ зыхуищ1ар?
— Нало Заур балладэр фэеплъ зыхуищ1ар Щоджэнц1ык1у Алийщ.
— Балладэм и прологымрэ япэ 1ыхьэмрэ зытеухуар дигу къэдывгъэк1ыж. Хэт жи1эн, гъуэгурык1уэм къыхуэзэр хэт?
— Псы хуэл1эу и нэр щыунк1ыф1ык1ыу къэмэхауэ пшахъуэм хэлъ л1ым кърохьэл1э удыр.
— Авторым удым характеристикэ щрит пычыгъуэр къэвгъуэти фыкъысхуеджэ, ик1и къызжеф1эт сыт хуэдэ художественнэ 1эмал къигъэсэбэпрэ усак1уэм?
— Цы 1уданэ плъыжьк1э и нэр
Хуэдэщ къэдахьам
Псалъэу жи1эм гур е1ул1эр
Ещхьу хуэш хыхьащ.
— Нало Заур удым характеристикэ щритым деж къигъэсэбэп художественнэ – изобразительнэ 1эмалыр зэгъэпщэныгъэщ.
— Хэт дигу къигъэк1ыжын зэгъэпщэныгъэк1э зэджэр?
— Зытепсэлъыхьым и щытык1эр зэхэщ1эгъуэу, нэгум къыщ1агъэхьэу, къа1уэтэж щхьэк1э, ар нэгъуэщ1 зыгуэрым ирагъэщхьу, ирагъапщэу къыщыжа1эм деж зэгъэпщэныгъэк1э йоджэ.
— Сыту п1эрэ удымрэ л1ымрэ зэраухыл1ар?
— Л1ым иригъэфа псы фалъэм и уасэу илъэс къэс зы тыгъэ гуэр къритын хуейуэ хуигъэуващ удым, л1ыри абык1э арэзы хъуащ.
— Япэ илъэсым сыт (тыгъэу) удым л1ым къыпиубыдащ и напэр.
— Арэзы хъурэ абык1э л1ыр, иритрэ удым и напэр?
— Хьэуэ, л1ыр абык1э арэзы хъуркъым. Абы и напэр зэритын мы дунейм теткъым.
— Дауэ зэгуры1уэрэ л1ымри удымрэ япэ илъэсым.
— Л1ым и напэм и п1эк1э и бзэр удым иритащ.
— Адэк1э еджак1уэхэм ягъэува теплъэгъуэм (балладэм щыщ пычыгъуэмк1э) деплъынщ.
— Л1ыжьыр – Къэнщэуей Мухьэмэд
Удыр – Щоджэн Фатимэ
Авторыр – Бекъалды Линэ.
II. Темэщ1эр егъэджын.
1. – Адэк1э, ц1ык1ухэ, дэ зэпкърытхыну ди къалэнщ балладэм и иужьрей 1ыхьэр.
(Балладэм и иужьрей 1ыхьэр ролхэр теугуэшауэ еджак1уэхэр зэхэщ1ык1ыгъуэу, гъэхуауэ къегъэджэн).
Еджак1уищ пычыгъуэм къоджэ, адрейхэр тхылъымк1э к1элъоплъ.
2. Доскам ф1элъ сурэтхэмк1э гъэлэжьэн.
— Мы сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуахэр къызыхэщ пычыгъуэхэм къеджэн.
Япэ сурэт.
— Хадэ ипщ1эу хэтти л1ыжьыр
Ф1анэр 1эпыхуащ.
«Сыхьэт мыгъуэм тхьэм ухуишэ» —
удыр л1ыр ебгащ.
Ет1уанэ сурэт:
— Гъатхэ хъуащи ещанэгъэр
Пц1ащхъуэр уэгум щос.
Л1ыжьыр дэлъу гъатхэ дыгъэм
Удыр занщ1эу къос.
Ещанэ сурэт:
— Напэ къабзэм и къабзагъэр
Дыгъэ бзийм хыхьащ.
Анэ псоми и быдзышэм.
Бынхэм хухалъхьащ.
3. Доскам ит упщ1эхэмк1э долажьэ.
Ет1уанэ илъэсым удыр къэк1уащ л1ыжьым и напэр ихьыну.
Напэм и п1эк1э удым ихьар сыт?
— Напэр итын имыдэу л1ым удым иритащ и нэр.
Къык1элъык1уэ илъэс ещанэм сыт удым л1ым къыпиубыдар?
— Ещанэ илъэсым псы фалъэ зэфам и уасэм удым напэр ихьыну къытригъэзащ.
Удым напэр л1ым къыщримытым сыт хуэдэ 1эмал удыр зыхуэк1уэр?
— Л1ым и напэр 1ихын щхьэк1э удым абы къритыжырт 1иха и нэри, и бзэри, дунейм ф1ыгъуэу тетри, ауэ л1ыр къыхудэхьэхакъым, къыхуэгъэдэ1уакъым.
Иджы девгъэгупсысыт сыт хуэдэ гупсысэу п1эрэ балладэм щ1элъыр? Сыт усак1уэм л1ымрэ удымрэ я образхэмк1э дигъалъэгъуну зыхуеяр?
— Сэ къызэрыслъытэмк1э, удыр мы балладэм къызэрыхэщыр ем и л1ык1уэщ. Л1ыр ф1ым и телъхьэщ. Л1ымрэ удымрэ я образымк1э усак1уэм дигъэлъагъу емрэ ф1ымрэ зэрызэпэщ1эувар, а зэныкъуэкъуныгъуэми ф1ыр зэрытек1уэр.
— Сэ сызэригугъэмк1э, удыр хуейт л1ым и напэр къы1ихыу ц1ыху напэншэ
ищ1ыну. Напэншэм сытри къуищ1эфынущ къодыгъуэфынущ, къозэуэфынущ. Уеблэмэ, уиук1ыфынущ. Ахэр псори 1ейщ. Удым л1ыр къыхуэгъэпц1акъым. Жып1э хъунущ, л1ыр 1ейм пэщ1эувауэ ик1и тек1уауэ. Нэгъуэщ1 ц1ыхухэм 1ей ярищ1эу псэу нэхърэ л1эмэ нэхъ къищтащ абы. Удым и гугъат л1ыр къигъэсэбэпу 1ейр игъэбэгъуэну, ауэ къехъул1акъым. Мы балладэм щ1элъ гупсысэр, сызэригугъэмк1э, ф1ыр сыт щыгъуи 1ейм зэрытек1уэращ.
Ц1ыхугъэр, ц1ыху напэр псом ящхьэу зэрыщытыр дауэ къигъэлъэгъуэфа усак1уэм?
— Ц1ыхугъэмрэ напэмрэ псом нэхърэ нэхъ лъап1эу зэрыщытыр Нало Заур къыдигъэлъэгъуащ л1ым и напэм и п1эк1э и гурыгъугурыщ1эхэр къызэри1уатэ и бзэр, дунейм и дахагъэр зэрилъагъу и нэр, уеблэмэ, и псэ дыдэри удым зэрыритымк1э. И бзэм, и нэм, и псэм нэхърэ нэхъ лъап1эу къилъытащ абы и ук1ытэмрэ и напэмрэ.
Ижь – ижьыж лъандэрэ адыгэм псом япэ иригъэщу щытащ и напэр, и ц1ыхугъэр. Адыгэхэм пщ1э хуащ1ырт напэ зи1э, ц1ыхугъэ зыбгъэдэлъ ц1ыхухэм. Нэмыплъ иратырт зи напэпэри зи ук1ытэри 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абы и щыхьэтуи ди бзэм псалъэжь куэд къыхэнащ. Фэ фщ1эуэ п1эрэ ц1ык1ухэ, апхуэдэ псалъэжь.
— Псэр ящэри напэ къащэху.
— Нэмыс зи1эм насып и1эщ.
-Ук1ытэр щагъуэтым бжэкъуагъым къуэсащ.
— Напищэ нэхърэ зы напэ.
— Балладэр Щоджэнц1ык1у Алий и фэеплъу зэрыщытар дощ1э. Хэт жи1эн сыту п1эрэ усак1уэм мы тхыгъэр Щоджэнц1ык1у Алий фэеплъ щ1ыхуищ1ар?
— Нало Заур и балладэр Щоджэнц1ык1у Алий. Сэ къызэрысщыхъумк1э, фэеплъ щ1ыхуищ1ар мыращ: нэмыцэ концлагерым щисам бийм къыпиубыдауэ щытащ нэмыцэ зэрыпхъуак1уэхэм я тек1уэныгъэхэр зыгъэлъап1э усэ иригъэтхын хуейуэ. Арщхьэк1э Алий и Хэку, и напэ епц1ыж нэхърэ л1эмэ, гъащ1э итмэ нэхъ къищтащ. Нэмыцэ1уэм Алий къыдисахэм къызэра1уатэжамк1э, абы куэдрэ жи1эрт «Зи лажьэр к1уэду зы1уэтэжынхэ, адыгэ напэр фымыгъэулъий, зывмыгъэдзыхэу ди нэмысыр фхъумэ». Ик1и жып1э хъунущ Щоджэнц1ык1у Алий и напэм, и ц1ыхугъэм, и Хэкум емыпц1ыжу а псом щхьэк1э гъащ1эр итауэ.
Пэжщ, Щоджэнц1ык1у Алий илъагъу хъууэ щытакъым, нэмыплъ иритырт зи напэм, зи Хэкум епц1ыжа, ц1ыхугъэ зыбгъэдэмылъ ц1ыхухэм. «Зи напэ епц1ыжа ц1ыхум и 1эр ф1еипсым хэлъу и гъащ1эр ехь», — жи1эрт абы.
И дунейтетык1амк1и, къигъэнахэмк1и къилэжьыжащ Щоджэнц1ык1у Алий апхуэдэ тхыгъэ гъуэзэджэ, нэгъуэщ1 куэди фэеплъ хуащ1ыныр.
— Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ ц1ыхугъэм, ц1ыху напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эм, ар пщэ е къэпщэху зэрымыхъунум. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджырей зэманым куэдрэ дыщрохьэл1э мылъку зэхуэхьэсыным дихьэхауэ напэ 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абыхэм къагуры1уэкъым мылъкур уэсэпсу зэрыщытыр. Уэсэпсым ещхьу мылъкур к1уэдыжынущ. Къэнэнур напэмрэ ц1ыхугъэмрэщ. Ар зыщывмыгъэгъупщэу фигу илъу фыпсэумэ, ц1ык1ухэ, пщ1э къыфхуащ1у дунейм фытетынщ.
4. Урокым жыджэру щылэжьа еджак1уэхэм оценкэхэр яхуэгъэувын.
III. К1э лэжьыгъэр етын.
1. Балладэм и ещанэ пычыгъуэр (1ыхьэр) гук1э зэгъэщ1эн.
2. Сурэт щ1ыным дихьэххэм балладэм щыщу ягу ирихьа теплъэгъуэхэм и сурэт ящ1ыну.
IV. К1эух псалъэу.
— Адыгагъэр, ц1ыхугъэр, напэр зыгъэлъэп1эн.
Дэтхэнэ зыри тхьэшхуэм фищ1,
Фи адэ – анэхэр фымыгъэук1ытэу,
Фи нэмысыр лъагэрэ фи акъылыр жану,
Нэхъыжь и жы1э фемыбакъуэрэ
Нэхъыщ1эм гулъытэ хуэфщ1ыфу
Ныбжьэгъухэм пщ1э къыфхуащ1урэ
Фахэмытым къыфхуэзэшу
Узыншэу дунейм куэдрэ фытетыну сыфхохъуахъуэ!
Темэр: Щы1эц1эм теухуауэ яджар къэпщытэжын.
Мурадыр:
Щы1эц1эм теухуауэ еджак1уэхэм ягъуэта щ1эныгъэр къэхутэн ик1и нэхъри зэрыгъэубыдын; щы1эц1эр тэмэму бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн; еджак1уэм и бзэм зиужьынымк1э ек1уэк1 лэжьыгъэм пищэн, лэжьыгъэр ф1ыуэ ялъагъуу къэгъэтэджын.
Урокым и ек1уэк1ык1эр.
-
.Куэд щ1ауэ зэджа темэхэр къэпщытэжын.
Бжьыхьэ махуэ гуэрым и шэджагъуэм зы л1ыжь гуэр губгъуэм къыпхок1ыж,
Балий жыг губгъуэм къыщегъуэт, Арэзыуэ гуф1эу ар къожьэж.
Ар нэщхъыф1эу губгъуэ иным пхыплъу
Къыздэк1уэжым и гур куэду инщ.
Л1ыжьым гуф1эу же1э: «Си фэеплъу Балий жыгыр губгъуэм сэ хэссэнщ».
Доскам ит усэм къегъэджэн. Хьэрф дэгъэхуахэр дэвгъэувэжын. А хьэрфхэм я тхык1эр жегъэ1эн.
(Махуэ гуэрым – махуэ, ударенэр а-м тохуэ, макъзешэ а дотх. Шэджагъуэ – ударенэр а –м тохуэри м.з. а дотх. Балий – зэхэтхыр э – щ, тхыр а – щ. Ар псалъэм и тхык1э тэмэмщ. Къызэрапщытэ правилэ и1экъым. Псалъэм и тхык1э тэмэмыр дигу идубыдэн хуейуэ аращ. Арэзыуэ – зэхэтхыр э – щ, а дотх. Адыгэбзэм хьэрф э – к1э къыщ1идзэу псалъэ и1экъым).
Текстым предметым я ф1эщыгъэц1э къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр къыхегъэтхык1ын.
( Бжьыхьэ, махуэ, шэджагъуэ, л1ыжь, губгъуэ, гур, л1ыжьым, балий, жыгхэр, гъуэгубгъум).
— Сыт хуэдэ упщ1э яхуэуврэ абыхэм?
(Хэт? Сыт? Сытыр? Сытым?)
— Ат1э сыт дызэреджэр апхуэдэ упщ1э зыхуэув псалъэхэм?
(Сыт? Сытыр? Сытым? Сытымк1э? Сыту? Хэт? Хэтк1э? Хэту? Упщ1эхэр зыхуэув псалъэ щы1эц1эк1э йоджэ).
-
Диктант к1эщ1 егъэтхын.
Мэлыкъуэ къуажэм пшапэр псынщ1эу щызэхоуэ. Дыгъэр бзий лъакъуэхэмк1э Къэнжал къуршыщхьэм зэрытеувэу къуажэм къыбгъэдэт бгы к1ыхьым и хыв тхыц1ак1уэхэм зэуэ зеуф1ыщ1. абы идз ныбжь ф1ыц1эм къуажэр щ1от1ысык1ри зы сыхьэт ныкъуэм къриубыдэу унэ хужь пл1имэ къхуэщыныщхьэхэр пшапэм еуфыхь.
1. Диктантым хэт щы1эц1эхэр щ1егъэтхъэн, ахэр зэрыт падежыр, склоненэр гъэбелджылын.
2. Еджак1уэхэр доскам щыгъэлэжьэн:
щхьэж зытес рядым тес еджак1уэхэм я ц1э – унэц1эр алфавитк1э зэк1элъегъэхьын. Ахэр хьэрфышхуэк1э щ1этхам и щхьэусыгъуэр жегъэ1ын
3. Щхьэзакъуэ лэжьыгъэ.
Доскам еджак1уищ щолажьэ. Щхьэж зытес рядым тес еджак1уэхэм я ц1э – унэц1эхэр алфавитк1э зэк1элъыгъэк1уауэ егъэтхын. Ахэр хьэрфышхуэк1э щ1атхам и щхьэусыгъуэр жегъэ1ын.
4. Еджак1уищыр доскам щылэжьэху, мыдэк1э ит тхыгъэмк1э адрей еджак1уэхэр гъэлэжьэн. (Абыхэм унэ лэжьыгъэу я1ащ сочиненэ к1эщ1 зэхалъхьэну. Абыхэм язэхэзым и сочиненэр доска ц1ык1ум итщ)
текстым хэт щы1эц1эхэр гупит1у зэхегъэтхык1ын: сэмэгурабгъумк1э ц1э унейхэр, ижьырабгъумк1э ц1э зэдайхэр.
Сэ къалэм сыщопсэу. А къалэм зэреджэр Бахъсэнщ. Абы Культурэм и унэ, пощт, хъумап1э кассэ, сымаджэщ, еджап1э куэд, заводхэр, фабрикэхэр дэтщ. Къалэм щызэхэтщ Щоджэнц1ык1ум и ц1эк1э щы1э колхозыр. Сэ сыщопсэу М.Фрунзе и ц1эр зезыхьэ уэрамым. Сэ ди къалэр ф1ыуэ солъагъу.
Бахъсэн, Культурэм и унэ, Фрунзе, Щоджэнц1ык1ум.
къалэ унэ, пощт, кассэ, сымаджэщ, еджап1э, заводхэр, фабрикэ, колхозыр, уэрамым.
5. Еджак1уэхэм я1а щхьэзакъуэ лэжьыгъэм тегъэпсэлъыхьын.
Мурат лэжьыгъэ и1ащ рассказ к1эщ1 сурэтымк1э зэхилъхьэн хуейуэ. Дедэ1уэнщ абы.
Еджак1уэм: Маим ибгъу махуэр къобоагъэ. Ар махуэ лъап1эщ. Ди зауэл1хэм тек1уэныгъэр къызэрахьрэ илъэс тхущ1рэ ирэ ирокъу. Абы ирихьэл1эу еджак1уэхэм зауэм и ветеранхэр хьэщ1эу еджап1эм кърагъэблэгъащ. Ветераным и бгъэр медалхэмрэ орденхэмрэк1э зэщ1эблат. Еджак1уэ ц1ык1ухэм абы хъыбар гъэщ1эгъуэн куэд къахуи1уэтэжащ. Ветераным удз гъэгъа дахэхэр тхылъхэр тыгъэ хуащ1ащ.
Тексым хэт щы1эц1эхэр зэрыт бжыгъэр жегъэ1эн:
Махуэр – з.бж., зауэл1хэм – ку.бж., ( ар къэгъэлъэгъуа мэхъу хэ – л1)., тек1уэныгъэр – з.бж., еджак1уэхэм – ку.бж., зауэм – з.бж., бгъэр – з.бж., медалхэмрэ – ку.бж., орденхэмрэ – ку.бж., тхылъхэр – ку.бж., еджак1уэ ц1ык1ухэм – ку.бж., удзхэу – ку.бж.,.
6. Доскам ит псалъэхэр тетрадым ирегъэтхэн:
Зэ1экъуэгъухэр унагъуэ
шэ сурэтхэр
Хьэрун сымэ Залинэ.
Ахэр зэрызэщхьэщык1ыр жегъэ1эн.
(Щы1эц1э щы1эщ, закъуэ е куэд бжыгъэу ф1эк1а къамыгъэсэбэпу.
Зэ1экъуэгъухэр – ку.бж., ар къэгъэлъэгъуа мэхъу префикс зэ – к1э, суффикс хэ – к1э.
Шэ – з.бж., иту ф1эк1а къагъэсэбэпкъым.
Хьэрун сымэ – частицэ сымэ – м куэдагъ хелъхьэ псалъэм.
Залинэ – з.бж., тетущ ц1э унейр къызэрагъэсэбэпыр.
7. Диктантым и1эщ1 егъэтхын.
Мэз гъунэгъум псынащхьэ зэхуэмыдэхэм уащрохьэл1э. Жыг абрагъуэхэр зыщхьэщыт нэпкъ задэхэм я лъабжьэрщ псынащьэ щ1ы1эхэм нэхъыбэу узыщрихьэл1эр. Иужьрей илъэсхэм языныкъуэ псынэхэр нэхъ к1ащхъэу къыщ1эж хъуащ.
Щы1эц1эхэр зыгъэбелджылы псалъэхэр и гъусэу щ1егъэтхъэл. Падеж к1эуххэм я тхык1э хабзэм тегъэпсэлъыхьын.
( Мэз гъунэгъум, псынащхьэ зэхуэмыдэхэм, жыг абрагъуэхэр, нэпкъ задэхэм, псынащхьэ Щ1ы1эхэм – падеж к1эухыр щы1эц1эмрэ ар зыгъэбелджылы псалъэмрэ яхыхэзырщ – иужь итырщ зыпыувэр, падеж к1эухы т1уми зэдайщ.
III. еджак1уэхэр тхылъымк1э гъэлэжьэн.
Лэжьыгъэ 362 – р гъэзэщ1эн. Скобкэм дэт псалъэхэр зэпыту е зэпыхауэ тхын.
Абыхэм я тхык1э хабзэхэр жегъэ1эн.
IV. Еджак1уэхэм зегъэгъэпсэхуи.
Псалъэрыджэгу. Доскам еджак1уищ щызэпоуэ, ряд къэс къыхэк1ауэ.
— Мы суффиксхэмк1э хэт псалъэ нэхъыбэ къимыгъэхъурэ?
гъэ- ухуэныгъэ, узыншагъэ, угъурлыгъэ, плъыжьыгъэ, хьилагъэ,
бзаджагъэ, къуаншагъэ, делагъэ, губзыгъагъэ, ц1ыхугъэ, къабзагъэ,и.
гъуэ – пщ1эгъуэ, къэт1ыжыгъуэ, къехьэл1эжыгъуэ, сабиигъуэ, тхэгъуэ, жы1эгъуэ,и.
лъэ – тхылъылъэ, фошыгъулъэ, псылъэ, мывалъэ, пшахъуалъэ, 1элъэ,и.
— Иджыри сыт хуэдэ суффиксхэмк1э къэхъурэ щы1эц1э?
(- к1уэ, гъэ / гъ, — шхуэ, — хуэ, — к1э, — ей, — жь, и).
— Дауэ къэхъуну п1эрэ иджыри щы1эц1э?
(Глаголхэм, плъыфэц1эхэм, щы1эц1эхэм, бжыгъэц1эхэм, ц1эпапщ1эхэм – Суффикс, префикс япыувэурэ, псалъэпкъит1 зэхыхьэп1эрэ къэхъунущ).
V. Сурэтк1э еджак1уэм зэхилъхьа рассакз к1эщ1ым едэ1уэн. ( Сурэтыр доскам деж ф1элъщ).
Щ1ымахуэр къэблэгъащ. Дунейр егъэлеяуэ щ1ы1э хъуащ. Жыгхэр псори джафэ хъуащ. Ауэ ди щ1ып1э къуалэбзухэри псэущхьэ ц1ык1ухэри щ1эгузэвэн щы1экъым. Еджак1уэ ц1ык1ухэр мэзым к1уэурэ к1эпхъ ц1ык1ухэр ягъашхэ.Къуалэбзухэм хуащ1а шхап1эхэм шхын хурак1утэ.
Рассказым хэт щы1эц1эхэм щыщ зырыз еджак1уэ къэс егъэтхын, падежк1э зэрегъэхъуэк1ын.
VI. Морфологическэ зэпкърыхыныгъэ.
1. Гъатхэ махуэм гъэр егъашхэ.
Псалъэухам къегъэджэн.
— Сыт хуэдэ гупсысэ къи1уатэрэ мы псалъэухам?
Мы псалъэжьым хэт зы щы1эц1э морфологическэу зэпкърегъэхын. (доскам деж).
2. Диктант ятхам щы1эц1э зырыз къыхегъэхауэ морфологическэ зэпкърыхыныгъэ егъэщ1ын езыр – езыру.
VII. Урокыр къызэщ1экъуэжын.
— щы1эц1эм теухуауэ псори дигу къэдгъэк1ыжащ. Доскам ит схемэм феплъи ик1эм нэвгъэсыжыфыт. Сыту п1эрэ иджыри щы1эц1эм хужып1э хъунур?
Щы1эц1э |
|||||||
Предмет къегъ. |
Зи щхьэ хущыт пс. лъэп. |
Хэт? Сыт? упщ1эхэр хуоув |
Ц1э уней |
Ц1э зэдай |
Б. скл. |
Мыб. скл. |
Пад. з.мэхъу |
VII.Унэ лэжьыгъэ етын: Лэжьыгъэ 374, напэк1уэц1 19.
VIII.Оценкэхэр гъэувын.
Темэр: Псалъэуха зэхэлъымк1э ягъуэта щ1эныгъэр къызэщ1экъуэжын.
Мурадыр:
Псалъэуха зэхэлъым и щытык1эхэр,абы хэт псалъэуха къызэрык1уэхэр зэпха зэрыхъу щ1ып1эхэр зэращ1эр къэпщытэжын,къызэщ1экъуэжын,хабзэм,нэмысым хуэущиин,псалъэуха зэхэлъхэр я бзэм къызэрыщагъэсэбэпыр егъэф1эк1уэн.
Урокым къэдгъэсэбэпынухэр:
1.Псалъэуха зэхэлъхэм я таблицэ;
2. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэ,зэхэлъ зэпха,къызэрык1уэ зэрыт таблицэ.
Урокыр зэрек1уэк1ынур.
-
Псалъэуха зэхэлъымк1э ящ1э гуры1уныгъэхэр къэпщытэжыным ехьэл1а уп1щ1эхэр
1.Псалъэухак1э зэджэр.
2.Сыт псалъэуха зэхэлък1э зэджэр;
3.Ахэр дауэ игуэшыжрэ;
4.Союз зи1э псалъэуха зэхэлъхэр дауэ игуэшыжрэ;
5.Сыт псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэрк1э зэджэр?
6.Сочительнэ союзхэр, союз-суффиксхэр къыжыф1эт.
7.Сыт псалъэуха зэхэлъ-зэпхак1э зэджэр?
8.Подчинительнэ союзхэр, союз-суффиксхэр, союз псалъэхэр къыжыф1эт.
9.Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэр зэхэлъ-зэпхамрэ я синтаксическэ зэщхьэщык1ыныгъэхэр къыжыф1э.
10.Псалъэуха гуэдзэмрэ причастнэ оборотымрэ зэрызэщхьэщык1ыр.
11.Союзыншэ псалъэухак1э зэджэр,щагъэув нагъыщэхэр.
-
Доскам ит псалъэухахэм елэжьын,языныкъуэ еджак1уэхэр картэчкэк1э гъэлэжьэн.
1.Псалъэухар синтакс.зэпкъырыхын, орфограммэхэр къэгъуэтын, зыщыщ художественэ тхыгъэр,авторыр къыжы1эн.
Хешуэ ц1ык1уу а пщащэр ф1ыгъуэр и пщ1ыхьу мэжей,(ауэ) къимыщ1эурэ тхьэмыщк1эр и анэ Дадусэм къегъей.Мадинэ ищ1эркъым: анэшым абы иф1эф1ыр екъутэ.
2. Фонетическэ зэпкъырыхыныгъэ:
пщ1ыхьу
пщ1ы – хьу
макъхэр: 5 [п1, щ1, ы, хь, у].
макъзешэхэр: 2 [ы, у]
макъ дэк1у.: 3 [п1, щ1, хь]
хьэрфхэр: 5 — п, щ1, ы, хь, у
хьэрфзешэхэр: 2 – ы,у
хьэрф дэк1у. : — п, щ1, хь.
Екъутэ
Е-къу-тэ
Макъ: 6 [йэ, къу, ы, т, э]
Макъзешэхэр: 3 [э, ы, э]
М.д. : 3 [й, къу,т]
Хьэрф.: 4 – е, къу, т, э
Хьэрфз. : 2- е, э.
Хь.д. : 2 – къу,т.
3.Зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкъырыхын:
къимыщ1эурэ
-
Тхылъымк1э лэжьэн.
Лэжьыгъэ 223.
1. Япэ, ет1уанэ псалъэухахэр жьэры1уатэу зэпкъырыхын.
2. Ещанэ, епл1анэ, етхуанэ псалъэухахэр рядищым зэрызу доскамрэ тетрадымрэ щелэжьын. (синт. зэпкър.)
-
Сурэтымк1э лэжьэн. «Гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр» сочиненэ к1эщ1 ц1ык1у ятхын, псалъэуха зэхэлъхэр къагъэсэбэпурэ.
1. Сочиненэ ц1ык1у ятхам къегъэджэжын (т1у — щы).
2. Псалъэуха зэхэлъ къагъэсэбэпа л1эужьыгъуэхэр къыжа1эн.
3. Сочиненэр нэхъ къызэхъул1ар къыхэгъэщын.
-
Псалъэжьхэр нэгъэсыжын, ахэр зыхуэдэ псалъэухар къыжы1эн, гъэсэныгъэ мыхьэнэ и1эр къазэрыгуры1уэр къэхутэн.
Акъылым уасэ и1экъым, … (гъэсэныгъэм гъунэ и1экъым).
Уи адэ-анэм нэмыс яхуэпщ1мэ, … (уэри уи бынхэм пщ1э къыпхуащ1ыжынщ).
Ф1ы зыщ1эр ф1ы 1уощ1эр, … (1ей зыщ1эр 1ей 1уощ1э).
Хьэщ1э къашэ щы1эщ, ауэ … (хьэщ1э ишыж щы1экъым).
-
Схемэк1э псалъэуха зэхэлъхьэн. (Урокым дызэлэжьа темэр къыхэщу).
, ик1и
-
Вывод: Псалъэуха зэхэлъым я щытык1эр, абыхэм хэт псалъэуха къызэрык1уэхэр зэрызэпха щ1ык1эхэр тщ1эным мыхьэнэуэ и1эр.
-
Урокым хэлэжьыхьа еджак1уэхэм оценкэ яхуэгъэувын.
-
Унэ лэжьыгъэ етын: Бз/з. Лэжь. 225.
-
Псалъэуха зэхэлъым щыщ къэвгъэсэбэпурэ сочиненэ фтхы «Губгъуэр жэщым».
Къэбэрдей- Балъкъэр Республикэм Прохладнэ
муниципальнэ куейм хыхьэ Алътуд къуажэм дэт
муниципальнэ кIэзонэ щIэныгъэм и етIуанэ еджапIэ
Республикэм щекIуэкI
«Си бзэ, си псэ, си дуней»
зэпеуэм къриубыдэу екIуэкIа
мастер- класс
Зыгъэхьэзырар:
адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ
и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес и пхъурщ
2016-2017гъ.гъ.
1слайд Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэк1эщ, дуней тетык1эщ
Нало Заур
Фи махуэ ф1ыуэ ,ди хьэщ1э лъап1эхэ !
Фи махуэ ф1ыуэ ,ныбжьыщ1э ц1ык1ухэ! Фыкъыдогъэблагъэ
« Псэм и пэ- напэ» зыф1этща нобэрей ди мастер- классым
Егъэджак1уэм : Псоми зэрыфщ1эщи, Iэмал куэд щыIэщ адыгэ литературэм щыхуебгъаджэк1э къэбгъэсэбэп хъуну,еджак1уэхэм ядж тхыгъэр нэхъ телъыджэ , гунэс , щ1эщыгъуэ ящыпщ1ын щхьэк1э .Абыхэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу сщ1ыну сызыхуейр -концептуализацэк1э зэджэ 1эмалыр Мы 1эмалым дэтхэнэ зы егъэджак1уэми езым и бгъэдыхьэк1э и еплъык1э хуи1эжщ. Мыр сэ есхьэл1эну сыхуейт 2сл нобэрей ди темэм. . Нобэ дэ ди мурадщ мы темэр гусысэ нэхъыщхьэ зыхуэхъуа тхыгъэхэр къэтпщытэжыну,3 сл
адыгэхэм псом нэхърэ ягъэнэхъапэр, ар щ1агъэнэхъапэр дгъэбелджылыну . Ди хьэщ1э лъап1эхэ ! Фи пащхьэм илъщ тетрадь напэ, ручкэ плъыжьрэ ручкэ щ1ыхурэ щ1ыгъуу Япэ упщ1эм и жэуапу къэфлъытэр плъыжьымк1э къыхэвгъэщ , ет1уанэ упщ1эм и жэуапу къыфщыхъур щ1ыхумк1э къыхэвгъэщ .
Си лэжьыгъэм и къыщ1эдзап1эу сыхуейт зыфхуэзгъэзэну мыпхуэдэ упщ1эмк1э : къабзэ- жыхуэт1э плъыфэц1эр нэхъыбэ дыдэрэ зыдэщ1ыгъуу къэдгъэсэбэпыр сыт хуэдэ щы1эц1эхэра?
4 сл. Едж
— Псэ къабзэ
-Псы къабзэ
-Пэж къабзэ
— Напэ къабзэ
— Уафэ къабзэ
— Жьы къабзэ
— Тетрадь напэ къабзэ
Егъэджак1уэм Нэгъуэщ1 щапхъэ куэди къыпхуэхьынуи къыщ1эк1ынущ иджыри .Нт1э, махуэ къэс нэхъ дызрихьэл1э зы псалъэ зэпха къыхэтхынщ мыбыхэм
— (Тетрадь) напэ къабзэ – мыр дэтхэнэ зы егъэджак1уэми и1эщ, лэжьыгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэмк1э къигъэсэбэпу. Мыр напэ къабзэщ ,иджыри сыт хуэдэ?
— А-4
— хужьщ
— ф1ей мыхъуащ.-
— псынщ1эщ
— зэпэпл1имэщ
— къамыгъэсэбэпащ
Напэр ушк1умп1ын , мыр сыт хуэдэ –т1э ? Къабзэ?
— къабзэщ ,ауэ ушк1умп1ащ
— къагъэсэбэпащ
Егъэджак1уэм: Мы напэр зэрыщыта пхуэщ1ыжыну?
-
Едж.: Т1эк1у пхуэузэхужынущ, ауэ зэрыщыта дыдэ пхуэщ1ыжынукъым
Егъэджак1уэм: А щ1ык1эм тету куэд жып1эфынущ ,ауэ дауэ а 1эмалыр тхыгъэм етхьэл1а зэрыхъунур ? Уегупсысмэ ,дэ дджы тхыгъэ куэдым я мыхьэнэк1э концептуальнэк1э уеджэ хъунущ.
Ди нобэрей урокым эпиграф хуэтщ1а усэ сатырхэм зыхуэдгъэзэну сыхуейт: 5 сл.
Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъап1эр,
Я ф1энэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр,
Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъап1эр,
Нэхъ къабзэу сыбжыр – адыгэ напэрщ.
Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,
Уэри уи напэ, сэри си напэ, адыгэ напэрщ.
Зэтрип1эжми тхьэшхуэм ди нап1эр,
Адыгэ напэм хэлъщ мыл1эжыныпсэр.
Егъэдж. Нобэрей ди лэжьыгъэм ехьэл1а псалъэжьхэр доскам итщ, фи жэуапхэр абыхэмк1э вгъэбелджылы хъунущ.
Сыт хуэдэ напэ мы усэ сатырхэм зи гугъу ящ1ыр?
—Едж. Мы усэ сатырхэм зи гугъу ящ1ыр напэ хужь , напэ къабзэ зи1э ц1ыхухэрщ
— Егъэджак1уэм: Пэж дыдэщ, ц1ык1ухэ
«Напэ» — псалъэшхуэщ ар, куэд къызэщ1еубыдэ: пэжагъри ф1агъри; — ц1ыхухэм игъащ1эм къагъуэта хьэл-щэн гъуэзэджэ псори;. Ц1ыхум «Напэ и1эщ абы», — хужа1эмэ, ар ц1ыху нэсщ, абы нэхъыф1 къыпхуагъэфэщэну зыри ухуейкъым Къэдвгъэщ1эжыт, ц1ык1ухэ, сыт хуэдэ тхыгъэм къыхэщыжрэ мыпхуэдэ ц1ыху, хэт итха ар ?
—Едж. Нало Заур и балладэ «Ц1ыху напэ» зыф1ишам къумым иту дызрихьэл1э л1ырауэ къысщохъу сэ ар.
Егъэджак1уэм: Пэж дыдэу къэпщ1эжащ Къызжеф1эт сыт балладэк1э зэджэр?
—Едж. — Балладэр усэу тхащ. Абы усак1уэм и зэхэщ1эныгъэм нэмыщ1и гъащ1эм къыщыхъу, л1ыгъэк1э гъэнщ1а 1уэхугъуэр къегъэлъагъуэ. Балладэм и щапхъэщ Абыт1э Хъызыр «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ»; Нало Заур «Ц1ыху напэ»;
Егъэдж.К1эщ1у къэдвгъэ1уэтэжыт балладэр зытеухуар
—Едж. Мы балладэми къигъэлъагъуэр – напэм и лъап1агъырщ, абы уасэ зэримы1эращ. Мыбы къыхэщыж л1ыхъужь нэхъыщхьэм и напэр имытын щхьэк1э сыт хуэдэ бэлыхьри ишэчыну пэщ1оувэ. Л1ым и пэжагъымрэ и л1ыгъэмрэ къыщегъэлъагъуэ балладэм, уеблэмэ и псэр итмэ нэхъ къищтащ абы : 6 сл
-Сэ си напэр , си ук1ытэр
Уэстынкъым, сыл1ам!
С1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.
Ухуейм сыгъэпщыл1.
С1ихыфыну сэ си напэр
Дунейм теткъым зыл1.
Ук1ытэншэу сыпсэу нэхърэ
нэхъыф1щ сымыпсэум
Егъэджак1уэм: Тэмэм дыдэу къэфщ1эжащ,
Иджыпсту къыджеф1а хьэл-щэн гъуэзэджэ, пэжагъ, ф1агъ псори зыхэлъу Нало Заур къилъытэ, напэм и лъап1агъыр, абы уасэ зэримы1эр зыдилъэгъуар хэту п1эрэ? Хэт мы балладэр зи фэеплъыр?
7 сл
Едж. Ар ди адыгэ литературэм и тхак1уэшхуэ Щоджэнц1ык1у Алийщ. Къыщалъхуа, щап1а Хэкум и телъхьэу, абы хуэпэжу, и напэр хужьу и гъащ1эр щ1итащ Хэкум и насыпым.
Егъэджак1уэм: Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ ц1ыхугъэм, ц1ыху напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эм, ар пщэ е къэпщэху зэрымыхъунум. Мыбы хэта
л1ыхъужьыр и напэр къабзэу дунейм ехыжащ . абы щыхьэт техъуэ усэ сатырхэр къэдвгъэщ1эжыт
Едж. 8 сл. Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр
Нурыр къыщхьэщех,
Ц1ыхуу щы1эм ягъэлъап1эу,
Л1ым и хьэдэр дах.
Егъэджак1уэм: Ипэк1э жыт1ар къызэщ1эткъуэжмэ.( тетрадь напит1ыр гъэлъэгъуэн: хужьымрэ ушк1умп1амрэ) мы балладэм къыхэщыж л1ыхъужьыр зыхуэдгъадэр. зи гугъу тщ1а тетрадь напэхэм ящыщу дэтхэнэра?
Едж. Напэ къабзэу напэ хужьырщ ар зыхуэдэр
Егъэджак1уэм: Пэж дыдэу къызжеф1ащ, ц1ык1ухэ. Гъащ1эм и сыт хуэдэ къэхъугъэми епхьэл1э хъуну къулейщ ди адыгэ лъэпкъыр псалъэжь 1ущхэмк1э къызжеф1эт мы тхыгъэм епхьэл1э хъуну псалъэжьхэр
Едж. Псэм ипэ –напэ
-
Псэр щэи напэ къэщэху.
-
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
-
Напэ зи1эм л1ыгъэ хэлъщ.
Егъэджак1уэм: Мы иджыпсту къэтпщытэжа тхыгъэм едгъэпщэну сыхуейт иджыблагъэ дызэджа Елгъэр Кашиф.и «Щыуагъэ» романыр . Къэдвгъэщ1эжыт , ц1ык1ухэ, Сыт мы тхыгъэр зытепсэлъыхьыр ? хэт и образ мыбы къыхэщыжыр?
Едж: Напэм и гъэрэщым ихуа цIыхум и дунейр къыщыгъэлъэгъуащ «Щыуагъэ» романым Щыуагъэм и гъэру псэу, и напэр и хеящIэу тезыр зытезылъхьэжа цIыхум (МыващIэ Хьэжбэтыр) и образырщ тхыгъэм увып1э нэхъыщхьэ щызыубыдри
Егъэджак1уэм: Сэри абык1э сыарэзыщ .Къыжыф1эт иджы сыт романым къыхэщыж л1ыхъужь нэхъыщхьэ МыващIэ Хьэжбэтыр напэм и гъэрэщым ису и гъащ1эр щ1ихьыр ?
Едж: Абы и щхьэусыгъуэр, сэ сызэреплъымк1э , Хьэжбатыр зауэ зэманым ищ1а щыуагъэр аращ. Ар сэ сыхуейт езым и псалъэхэмк1э къэс1уэтэжыну:
« Уи Хэкум зэгуэр уепц1ыжауэ щытмэ, ар къыпхуэгъуным ущыгугъынри, ул1а нэужь укъэхъужынк1э угугъэнри зыщ. Мы тхыгъэр уи Хэкум папщ1э узэблэжа псэр зэрымы1эф1ыжым , ар игъащ1э псок1э къызэрыпщ1эмык1уэнум и тхьэусыхафэщ .
Егъэджак1уэм: Пэжщ, а щыуагъэм и зэранк1э Хьэжбэтыр и гъащ1э псор зэтекъута мэхъу. Зы щыуагъэм адрейр къигъэщ1урэ мак1уэ л1ыхъужьым и гъащ1эр. Дауэ феплърэ, ц1ык1ухэ, хэк1ып1э гуэр и1эу п1эрэт мы 1уэхугъуэм?
Едж: Сэ сызэрегупсысысмк1э, « Е ул1ын, е ул1эн» жыхуи1э псалъэжьым тету л1ыгъэ зыхилъхьэрэ пэжыр жи1амэ, и щыуагъэм пэк1уэ тезырыр ихьынти, адэк1э и гъащ1эм нэхъ тыншу пищэжынт.
Егъэджак1уэм: Нэгъуэщ1 сыт хуэдэ хэк1ып1э и1эу къыфщыхъурэ?
Едж: Адыгэхэм жа1э: « Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ» Ц1ыхум зэ л1эгъуэщ щ1элъри абы напэ хужьк1э хуэк1уэфын хуейщ. Л1ыгъэ зыхилъхьэу л1эныгъэр къыхихыфамэ нэхъыф1т абы ,и гъащ1э псор гъэру «маф1эм ису» ихьа нэхърэ.
Егъэджак1уэм: Ари напэ зи1эм хуэфащэ хэк1ып1эщ , фыпсэу, ц1ык1ухэ.
Зауэ зэманыр икъук1э зэман хьэлъэу, гугъуу щытащ. Зи хэкур псэемыблэжу зыхъумахэм нэмыщ1к1э Хэкум епц1ыжа ц1ыху зэкъуэт1акъуэхэри щы1ащ Сытк1э къащхьэщык1рэ абыхэм Хьэжбатыр ? Мыр образ гурымыхьхэра хьэмэрэ гурыхьхэра зыхэдгъыхьэ хъунур?
Едж: Мыр упщ1э тынш дыдэу къысщыхъуркъым сэ,Езым и псалъэхэр къыщызгъэсэбэпыну сыхуейт си жэуапым: « Си гур Хэкумк1э щы1эт, ауэ си щыуагъэ къомыр сигу къэк1ыжа нэужь , а псом щхьэк1э схьын хуей тезырым сигъэшынэрт, тэмэму жып1эмэ.тезырыртэкъым сызыщышынэр, напэрт.Сыт хуэдизу зызгъэзэхуэжыну яужь симытми, сщ1эрт «шыгъу зышхар псы ефэжын зэрыхуейр».Сэ къызэрысф1эщ1ымк1э Хьэжбатыр и напэр ф1эк1уэдакъым мыпхуэдэ гупсысэхэр и гум щилък1э абы къыхэк1к1э образ гурымыхьхэми схухэгъыхьэнукъым. Ц1ыху напэншэр апхуэдизрэ зэныкъуэкъужу псэунтэкъым. Уеблэмэ сэ мыр сф1эгуэныхьи хъуащ .
Егъэджак1уэм: Зы лъэныкъуэк1э уэри узахуэщ, и гъащ1эр и закъуэу ихьащ абы , и бынхэр, къэзылъхуахэр илъагъуу, пэгъунэгъуу, ауэ закъригъэщ1эн ук1ытэу. Закъуэныгъэр- тхьэмыщк1агъэщ Хэхэс, факъырэ- а псалъэ гуауэхэмк1эт Хьэжбатыр къуажэдэсхэр къызэреджэр. Дауэ къывгуры1уэрэ фэ мы псалъэхэр: сыт хуэдэ ц1ыхухэра хэхэск1э зэджэр? Факъырэр сыт хуэдэ ц1ыху?
9 сл. Бзэм зегъэужьын ( егъэдж. захуэгъэзэн)
Едж. Слайд Хэхэс- нэгъуэщ1 щ1ып1э, хамэщ1 къик1ауэ псэу ц1ыху,
къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщ1 щыпсэу.
Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэ1ухуэмк1э псэу ц1ыху
Егъэджак1уэм: Хьэжбатыр сытк1эт зэрыфакъырэр? Дауэ ар абы зэрыхуэк1уар?
Едж. «Уи псэр гъэрып1эм итым уфакъырэ пэщмэнщ. Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ жыхуа1эрати,къысхуэгупсысыфу зытезубыдар мы си псэук1э хъуар аращ. Си псэр , си гур щыфакъырэк1э ,си фэри ирефакъырэ жыс1эри си пащ1э- жьак1эр зэщ1эзгъэк1ащ.
Егъэджак1уэм: Икъук1э хьэлъэу къыщ1эк1ащ напэм и тезырыр Мыващ1э
Хьэжбатыр и дежк1э.. Абы къыщ1эна тхыгъэри зыхуэгъэзар дэращ,. Езым къы1эщ1эщ1а щыуагъэм хуэдэ зыми имыщ1эн щхьэк1э , ц1ыху псоми ар дерс яхуэхъун папщ1э. Хьэжбатыр и образым пэджэж л1ыхъужь фрихьэл1ащ фэ мы гъэм урыс литературэмк1э. Ар М. Шолоховым и «Тэн хуэм» романым къыхэщыж Григорий Мелеховырщ, Къэдвгъэщ1эжыт ар сыт хуэдэ ц1ыхуми? Абык1э дэ нобэ дэ1эпыкъуэгъу къытхуэхъунущ урысыбзэмрэ литературэмрэ фыхуезыгъаджэ Балъкъэр Юлэ или Ю. Ард.
Юлэ 10 сл. Григорий Мелехов и образым увып1эшхуэ щеубыд романым. Абы и образым щхьэк1э гурыхьщ е гурымыхьщ жып1эну гугъущ. Ар ди пащхьэм къызэриувэр пэжым и лъыхъуак1уэущ. Куэд кърикъутэк1ащ Мелеховым ,лъы куэди игъэжащ,гъуэгуанэ хьэлъи зэпичащ .А гъуэгуанэм Григорий Мелеховыр к1ыф1ыгъэм хуишащ, абы ф1эк1уэдащ ф1эщхъуныгъэр, езыр хэтми, дунейм щ1ытетри къыгурымы1уэжу къэнащ. Ауэ апхуэдизу бэлыхь мыухыжым здыхэтми, абы щыгъупщэркъым и лъахэм, щалъхуа щ1ыналъэм хуи1э лъагъуныгъэр. Сэ сызэреплъымк1э, а зы закъуэращ , ауэ ар псом нэхърэ нэхъыщхьэщ, а ц1ыхум ф1агъыу хэлъыр.
Егъэджак1уэм: Упсэу Юлэ, Мыващ1э Хьэжбатыри Григорий Мелехови напэм и гъэрэщым ису я гъащ1эр яхьащ, аращ абыхэм я образхэр зэщхь зыщ1ри. Нобэ зи гугъу тщ1а 1эмалыр мы т1ум я образым етхьэл1эмэ .
( тетрадь напит1ыр гъэлъэгъуэн: хужьымрэ ушк1умп1амрэ) зэдгъэщхьынур сыт хуэдэ напэра?
Едж. Тетрадь напэ ушк1умп1аращ. Я 1эк1э я гъащ1эр якъутэжащ
«Ик1ута из хъужыркъым» жыхуа1эращи, мы напэри зэрыщыта хъужынукъым. Мы т1уми яхузэф1эк1акъым Я гъащ1эр напэ къабзэк1э къыщ1адзэжыну.( напэ хужьыр гъэлъэгъуэн)
Егъэджак1уэм: Арэзы сытохъуэ сэри уи псалъэхэм . Мы зи гугъу тщ1ы темэм куэдым урегъэгупсыс, уегъэп1ейтей.Напэм адыгэм дежк1э и1э мыхьэнэр, ар зи уасэр къызыхэщыж усэ сатырхэр е тхыгъэ нэхъ гукъинэж фщыхъуахэр къэфпщытэжамэ си гуапэт.
Едж..
слайд
Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ,-жа1э.
Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей –
Си лъэпкъ и пащхьэ напэ т1эк1у щызи1эм
Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм.
Едж. Слайд
Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус,
Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей,
Губжьк1э бдзы уи 1упсыр
Къэнэжынщ уи дей.
Едж сл. Сэ гукъинэж сщыхъуар изложенэу ттха «Псом нэхърэ нэхъапэр»
жыхуи1эрщ .Зи къуэ нэхъыжьыр зауэм хэк1уэдауэ гуауэм зэщ1и1ул1а адэм къэнэжа и къуэ закъуэри маф1эм хыхьэнут ит1ани иужьрей псалъэу и къуэм жри1ащ: «Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ псом нэхърэ нэхъапэр.,си щ1алэ.»
Едж: Напэр -лъап1эщ
Напэр сытми япэщ.
Едж: Напэр –адыгагъэщ, ц1ыхугъэщ, пэжыныгъэщ
Едж.: сл.
Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри
Пумылъыт уэ напэм.
ЛIы хуэдэлIым псэри гури
Къуитыфынущ япэ!
Егъэджак1уэм: Иджы ди хьэщ1эхэм я лэжьыгъэр нагъэсауэ къыщ1эк1ынщи сыхуейт ущие псалъэк1э ди еджак1уэхэм зыкъыхуагъэзэну Напэ я1эу, лъэпкъым хуэфащэу къыдэк1уэтеин щхьэк1э сыт хуэдэ хьэл щэнхэр яхэлъын хуей, дэтхэнэхэм зыщадзеин хуей?
Хьэщ1эхэм я псалъэ
Егъэдж. Иджы, ц1ык1ухэ, Ди хьэщ1эхэм я ущие псалъэхэри къэдгъэсэбэпурэ къызэщ1эдвгъэкъуэж нобэрей ди лэжьыгъэр. Сыт нобэрей мастер- классым темэ нэхъыщхьэ хуэхъуар?
Синквейн
Едж. Нобэрей мастер- классым темэ нэхъыщхьэ хуэхъуар Напэрщ
Егъэдж. Напэр сыт хуэдэу зэрыщытын хуейр?
Едж напэр къабзэщ,хужьщ;
Егъэдж. Сыт ищ1эр?
Едж. къоупщ1ыр,уеущий, уегъэук1ытэ;
Егъэдж. Гъэщ1эм сыт хуэдэ къалэн щигъэзащ1эр?
Едж.хеящ1э нэхъыщхьэщ;
Егъэдж.нобэрей ди псалъэжьхэм я зыхэзк1э к1эух едвгъэтыт
Едж. Псэм ипэ- напэ.
Егъэдж. Фыпсэу ц1ык1ухэ хъэрзынэу фыкъыздэлэжьащ. Нобэ къытхуеблэгъа ди хьэщ1эхэри, фэри си гуапэу фызогъэда1уэ «Адыгэ напэ» уэрэдым
Егъэдж.Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди ц1ыху, ди адыгэ напэм. Лъэпкъ напэр тезымыхын, зи напэр темык1ын ц1ыху тхьэм псори дищ1 Нобэ къытхуеблэгъа ди хьэщ1эхэм ину берычэт бесын вжыдо1э
1.Напэ къабзэ уи1эн щхьэк1э сыт хуэдэ ц1ыхуу ущытын хуей?
2. Сыт хуэдэ хьэл-щэн мыхъумыщ1эхэр зыхэбнын хуей?
-Укъызыхэк1ар пщ1эжрэ уи лъэпкъым ухуэфащэу
-Нэхъыжьыр бгъэлъап1эрэ нэхъыщ1эм уеущиеу
-Пэжыр уи гъуазэу
-Ц1ыхугъэ , адыгагъэ пхэлъу
-Псэм ипэ- напэр ибгъэщу
-Хэкури ф1ыуэ плъагъухэри бгъэпэжыфу
-Ныбжьэгъугъэр плъытэфу
-Фыгъуэныр, уи гуащ1эк1э къыумылэжьа зэпхьэл1эныр
-Пц1ы упсыныр , л1ыгъэншагъэр
-Узыхущ1егъуэжын блэжьыныр
-Адэ- анэм я напэ техыныр
-Уи лъахэ умылъытэныр, уепц1ыжыныр
-Уи бзэ бгъэпудыныр, уи лъэпкъыр 1умпэм пщ1ыныр
НАЛО ЗАУР
ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу.
Къум пшахъуэхур джабэжь мафIэу
Къигъэплъами дыгъэм,
ГъуэгурыкIуэм нэсыжыным
Химыхыж и гугъэр.
Жыхьэнмэ лъэмыжым хуэдэу,
КIыхьщи пэщылъ гъуэгур,
КIуэ пэтыхукIэ хощI и гуащIэм,
Мэхъур махэ и гур.
ГъуэгурыкIуэм и Iyp плъыхукIэ,
МэункIыфIыр и нэр,
ЗимыщIэжу ар къоджалэр,
Нэсыпауэ псынэм.
Къэмэхауэ хэлъщ пшахъуэхуми,
Ар къегъэткIур дыгъэм;
Дуней псор исыж къыпфIощIыр,
ЗэщIищтауэ лыгъэм.
Мис абдежым зы yд гуэрыр
Къыщохутэ занщIэу;
ЛIыр фIэлIэнкIэ тешынауэ.
Псы IурaкIэ псынщIэу.
ЗыкъещIэжыр лIы мэхами
КъотIысыжыр хуэму,
Удыр лIым.и щыпэлъагъути,
Зэпеплъыхь тэмэму.
Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр
Хуэдэщ къэдыхьам,
Псалъэу жиIэм гур еIулIэр,
Ещхьу хуэш хыxьaм.
«Берычэт бесын, цIыху щхьэпэ! –
ЛIым и макъыр къoIy:-
Зы псы фалъэ сегьэфэжыт …» —
Удым лIыр йолъэIу.
АтIэ удхэр зыгъэудыр
Лей зэрахьэр арщ.
Мис мы удми и мурадыр
ЩIэпхъаджагъэ гуэрщ.
«Хьэуэ,- жеIэр,- уезгъэфэнкъым
ПщIэншэу зы псы ткIуэпс.
Псы ухуеймэ, къызгурыIуэ,
ЩумыгъэкIыу нэпс.
Гъэ къэсыхукIэ псым и уасэу
КъысхуэпщIынщ зы тыгъэ,
Аращ сэри сиIэр Iycy,
Сытынш уи мыгyгъэ.
Сэ уэ тыгъэу къыпIысхынур
Си гум фIэфI къудейрщ.
Уэ уимыIи ныбжесIэнкъым,
НэгъуэщI сыт ухуей!»
«3ахуэщ»,-жеIэ, лIыр гуроIуэ,
Псы шынакъ йофэж;
Дыгъэ бзийхэр махэ хъуати,
Я гъуэгу тоувэж.
• • •
Ер вы бжьакъуэм къызэрикIыр
ТщIамэ, Iуэху къэхъунт?
Ер псы фалъэм зэрыхэлъыр
ИщIам, лIыр ефэнт?
А псы фалъэм къикIa Iуэхур
КъэтIуэтэнщ иджы.
Ар къэфщIэну фэ фыхуеймэ,
Мы тхыдэжьыр вджы.
I
ДокI илъэсыр. Гъатхэ хъуащи
ЩIым телъыжкъым уэс,
Бацэ щапхъыу зыщапхъэхым,
Удыр лIым деж къос.
Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр
Хуэдэщ къэдыхьам,
Псалъэу жиIэм гур еIулIэр,
Ещхьу хуэш хыxьaм.
Вий щIэщIаyэ вэуэ хэтти,
ЗанщIэy лIыр къэскIащ,
«Сыхьэт мыгъуэм сыхуэзати… »
ЛIыжьым игу къэкIащ.
Удым жеIэр: «Илъэс хъуащи,
Хьэкъыр къызэтыж.
Сызыхуейр уи напэр арщи,
ЖыпIам уемыпцIыж.
Уэ укIыrrэ пхэмылъыжкIэ
Упсэун къэнэн,
Уэ уи напэр сэ къызэпткIэ,
Уивхэр бгым дэнэн!»
КъызокIуэкIри и фэр шэхуу
«Хьэуэ!» — жеIэр лIым, —
Сэ си напэр, си укIытэр
Уэстынкъым, сыплIам!
CIых ухуеймэ, мылъкуу сиIэр,
Уеблэм сыгъэпщылI.
СIихыфыну сэ си напэр
Дунейм теткъым зылI».
«Ауэ щыхъукIэ,- жеIэр удым, —
Уи бзэр къыпIызох.
Зи укIытэр зигу пымыкIым,
Ар ухуейм къыхэх!»
И щхьэ тхъуар къыфIохур лIыми,
Мэхъур арэзы.
Мэдий и бзэр асыхьэтми,
ЖимыIэжу зы.
ШауэнапщIэм Iэнкун хъуауэ
ЛIыр гупсысэу тесщ.
Гуауэ иныр къылъысауэ
И гур мафIэм ес.
«Ягъэ кIынкъым»,- жеIэр игукIэ,
И щхьэр къeIэтыж;
Еубыдыжри пхъэIэщэкIыр.
Лажьэу хоувэж.
* * *
II
ЕтIанэгъэм жыг гъэгъахэр
Хуэдэщ телъым уэс.
Къэщхьэлъауэ сэтэнейхэр
Удыр лIым деж къос.
Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр
Хуэдэщ къэдыхьам,
Псалъэу жиIэм гур еIулIэр,
Ещхьу хуэш хыхьам.
Хадэ ипщIэу хэтти лIыжьыр,
ФIанэр Iэпыхуащ.
«Сыхьэт мыгъуэм тхьэм ухуишэ»… —
Удым лIыр ебгащ.
Гум едзакъэу къодыхьэшхри
Удым жеIэр мыр:
«СыкъэкIуащ уи напэр схьыну,
Ар Алыхь Iэмырщ.
АтIэ напэр сэ къызэпткIэ,
Сытыр уэ пxэщIын?
Уэ укIытэ пхэмылъжкIэ,
Упсэун къэнэн!»
«Хьэуэ,- жеIэр игукIэ бзагуэм,
Напэ уэзмытын,
Лей къызохыр уэ щIэпхъаджэм,
Тхьэм уищI хэутэн!»
«Ауэ щыхъукIэ,- жеIэр удым,-
Уи нэр къыпIызох.
Зи укIытэр зигу пымыкIым,
Ар ухуейм, къыхэх».
И гум хьэлъэу къощэIукIри
ЛIыр мэхъу арэзы.
Дунейр занщIэу мэункIыфри
Илъагъужкъым зы.
Бзагуэу, нэфу жэщ къытохъуэ,
Губгъуэм къонэ ар.
Нэху щыпауэщ къуэ къылъыхъуэм
ЩыпэщIэхуэжар.
* * *
Напэр нэкIэ ихъуэжынум
ЗэрегуакIуэщ щхьэж.
Бзагуэ хъуами, нэф хъупами.
ЛIыфIыр щIемыгъуэж.
Зэзэмызэ къызэфIонэ,
Нэпси къыфIыщIокI.
Ауэ напэр ихъуэжыну
Зэи игу къэмыкI.
III
Гъатхэ пасэщ ещанэгъэр,
ПцIащхъуэр уэгум щос.
ЛIыжьыр дэлъу гъатхэ дыгъэм
Удыp занщIэу къос.
Блэм и щIыфэу, уд Iэ гъурыр
ЛIыжьым щеIусам,
Щылъэтащ ар щтэIэщтаблэу,
Ещхьу блэ зэуам.
«СувыIэнкъым,- жeIэ удым,
Сымыхьау уи напэр;
ЗэфIэкIынущ ар тынш дыдэу,
ЩоIусам си Iэпэр.
Уи укIытэр сэ къызэптым,
Уи яужь сокIыж.
Уи ни уи бзи уи укIытэм
ПэкIуэу узотыж.
ЦIыхум напэр зэран хуохъур,
НасыпыфIэ ещI.
ЦIыхум напэр игъэлъапIэм,
Мэхъу и жыпыр нэщI».
«Хьэуэ! — жеIэр лIыжьым игукIэ,
3ыми димыхьэх:
— Сэ схуэщэнкъым си укIытэр,
Ухуейм, си псэр хэх».
«Ауэ щыхъукIэ,- жеIэр удым, —
Телъхьэ ин пхузощI:
Дунеишхуэм фIыгъуэу телъыр
Уасэ хъун къысфIощI».
«Хьэуэ! — жеIэ лIыжьым игукIэ,
Ухэмыт а псом,
УкIытэншэу упсэу нэхърэ
НэхъыфIщ умыпсэум».
«Армэ хъункъэ,-жеIэр удым,
Уи псэр къыхызох.
Уи укIытэр уигу пымыкIым,
Ар ухуейм къыхэх».
«Захуэщ!» — жеIэр. Зы ткIуэпс закъуэ
Нэпсу нэм къыщIокI.
Асьrxьэтым щIоху и лъакъуэр,
Хуэму и псэр xокI.
* * *
Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр,
Нурыр къыщхьэщех,
ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу
ЛIым и хьэдэр дах.
Напэ къабзэм и къабзагъэр
Дыгъэ бзийм хыхьащ,
Анэ псоми я быдзышэм
Бынхэм хухалъхьащ.
А къабзагъэр сабиинэм
УщIэплъам щолъaгъу,
ЦIыху напэншэр абы щIэплъэм,
Щохъур и нэм бжэгъу.
Нэхур щыщкIэ, а къабзагъэр
Дыгъэм щIым къехьэс.
ЦIыху напэншэм зэрыIуплъэу
ЗанщIэу и нэр къес.
8. ^
НАЛО А.
(Хъыбар)
Къэбэрдейм цIэрыIуэ гуэр исащ, Хьэтуукъуэ ХьэтIохъущыкъуэкIэ еджэу. ЛIыгъэкIи, хабзэкIи, теплъэкIи, псалъэкIи дэбгъуэн щымыIэу. Iуэхур Iэщэрэ акъылрэ хуэкIуамэ, жылэ псо и уасэу ябжу, къытекIуэ хэкум имысу, апхуэдэлIт ХьэтIохъущыкъуэ и цIэр зэрыIуар.
НтIэ, апхуэдэлIхэм я цIэр нэгъуэщI лъэпкъхэм я дежи нэсыркъэ — Хьэтуукъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и хъыбар къущхьэхэми ялъэIэсащ. Джылахъстэнейр къущхьэкIэ зэджэр осетинхэрщ. Мыбы жыхуиIэри ахэрщ. Ти, ХьэтIохъущыкъуэ и цIэр къущхьэм нэсащ.
Къущхьэхэми яхэтт Астап и къуэ Джага Мылъхуэс жаIэри лIы хахуэ гуэр. Джага Мылъхуэсым и цIэри Къэбэрдейм къэсащ: Хьэтуукъуэ ХьэтIохъущыкъуэ къылъэIэсащ.
ЛIитIым я цIэ зэлъэIэса нэужь, зым зыр къилъыхъуэу хуежьэри, апхуэдэу лIитIым зэрылъагъуну мурад ящIам зэрыгъуэтынтэкъэ — зэрыгъуэтащ, зэрылъэгъуащ. «ЛIы хахуэ» къыхужаIэ щхьэкIэ, тIури щIалэу къыщIэкIащ. Зыр фыз къэмышэу, адрейм къиша къудейуэ. Зэхуэзэри ягу зэрихьащ, ныбжьэгъу зэхуэхъуащ, зэгъусэу щакIуэ, зекIуэ кIуэуэ щIадзащ, гъуэгукIэ, лIыгъэкIэ зэрыгъэунэхуащ. ЛъэпкъитIым я лIы хахуитIыр ныбжьэгъу зэрызэхуэхъуар адыгэхэми къущхьэхэми ягу ирихьащ, иригуфIащ: «япэ къэс зи мыIуэху хъунщIакIуэ тегушхуэгъуафIэ дыкъищIыжынкъым иджы»,- жаIэри, езы тIури, зызыщамыгъэнщIу фIыуэ зэрылъагъурти, я зэхущытыкIэр цIыхум къызэрыхуагъэдахэм сабийм хуэдэу щыгуфIыкIырт.
Апхуэдэу Псыжь куэдрэ Iуэху щызэрахуэу, къагъэзэжрэ, Шэшэным къыщыхъуар зэфIагъэкIыу, Ираф аузым дыхьэрэ Фаснал нэс кIуэуэ, Джага Мылъхуэс деж щыхьэщIа нэужь, къуршым дыхьэхэрэ Сонэм щыщакIуэу, къыщхьэдэхыжмэ, Урыху губгъуэ къихьэжрэ ХьэтIохъущыкъуэ деж кIуэжу я гъащIэр яхьырт, шыбгым ису, «Темыр къэзакъ шу закъуэрэ шы тхьэкIумэ дэплъу, жэщыбгым къэкIуэжын, нэхущым къэкIуэжын?» жыхуаIэм хуэдэу. Апхуэдизу фIыуэ зэрылъагъурт а тIури, зым и бзэр адрейм зэригъэщIауэ, щызэпсалъэкIэ, ХьэтIохъущыкъуэ Джага зэрепсалъэр къущхьэбзэт, Джага жэуап къызэритыжыр адыгэбзэт. ТIури лъэпкъ зэхыхьэм я бзэкIэ епсалъэрт.
Ти, апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым Астан и къуэ Джага Мылъхуэсыр и ныбжьэгъум деж къэкIуащ. Хьэтуукъуэр хьэщIэм щыгуфIыкIащ, игъэхьэщIащ, игъэлъэпIащ. Ауэ сыт хуэдизу ХьэтIохъущыкъуэ хьэщIэм щыгуфIыкIами, модрейм и щхьэр къыхуэмыIэту нэщхъейт. Бысымыр къэгузэващ, къэуIэбжьащ, и хьэщIэм и нэщхъеикIэр щхьэжэ хуэхъуащ. И ныбжьэгъум къылъыкъуэкIынкIэ хъуа нэщхъеягъуэм ХьэтIохъущыкъуэ куэдрэ егупсыса нэужь, гурыщхъуэ ищIащ Джага къэшэныгу хъуауэ, занщIэуи еупщIащ:
— Ярэби, Джага, уи къэшэгъуэ мыхъуауэ пIэрэ уэ? — жиIэри.
— Ара си гугъэщ къысщыщIар, ХьэтIохъущыкъуэ. Ауэ уи хьэтыркIэ адыгэ фIэкI къэзмышэну мурад сщIащи, къысхуэгъуэт къэсшэн.
— Джылахъстэнейм щыщIэддзэнщи, Къэбэрдейр щIэтпщытыкIынщ, Хьэжрэтым дыкIуэнщ, КIахэмкIэ дызэпрыкIынщи Абазэм дихьэнщ, уигу ирихьын хъыджэбз дымыгъуэтрэ, си тхьэрыIуэщ, уигу ирихь фызыр къозмыгъашэм! Абы уримынэщхъей.
ХьэтIохъущыкъуэм зэрыжиIам хуэдэу ящIащ, ауэ Джага и нэ къыфIэнэн ямыгъуэтауэ, мазитIым щIигъукIэ къакIухьри къагъэзэжащ. ХьэтIохъущыкъуэ и къуажэм къыхуэкIуэжу зы выгу къыщIыхьэри къыблэкIащ. Хьэтуукъуэм нэхъ хуабжь зыкъищIащ, ауэ Джага Мылъхуэсыр выгум къылъэщIыхьэу абы ис цIыхубзым щыIуплъэм, лIэн-къэнэну ехъуэпсащ. ЦIыхубзми, шум и плъэкIэм гу щылъитэм, IэлъэщIыр зытрипхъуэжащ. Джага къыкIэрыхуауэ, зэплъэкIыурэ, къакIуэу щилъагъум, ХьэтIохъущыкъуэ къызэпсэлъэкIащ къущхьэбзэкIэ:
— УкъыкIэрохури-тIэ, къеуэIуэ! IЦхьэ укъызэIыхьа апхуэдэу?
— А зиунагъуэрэ, ХьэтIохъущыкъуэ, сыкъэбгъанэу щхьэ ущIэпхъуэжа! Уафэри щIылъэри жыхуаIэм хуэдэу уэрэ дэрэ щIэдмыщыкIа къэдгъэнакъым, иджы а гум ис цIыхубзым сомыгъэплъу щхьэ ущхьэщыкIрэ? Абы исыр зэрытхьэIухудыр пщIэрэ уэ?!
ХьэтIохъущыкъуэ шхуэмылакIэр Iэпыхуащ, ауэ шыр щыщIэлъэтым, зэщIикъуэжащ.
— Уигу ирихьа ар? Ар ди гъунэгъум япхъущ. Уигу ирихьамэ, пIалъэ имыIэу пщэдей уэдгъэшэнщи удгъэкIуэжынщ. Ар сэ си Iуэхущ.
Джага игу къызэрыгъуэтыжри ныбжьэгъум бгъурыувэжащ, псынщIэ дыдэуи Хьэтуукъуэхэ я пщIантIэм къыдыхьэжащ. Пшапэр зэхэуащ. ХьэщIэр ягъэхьэщIэри, гъуэлъыжыгъуэ щыхъум, ягъэзэгъэжащ. ХьэтIохъущыкъуэ и пэшым щIыхьэжри къэхъуар и фызым хуиIуэтэжащ.
— Нобэ уи дыщ укъикIыжу дыкъыбблэкIам нэхъ псынщIэу къыбблэсшын си гугъащ, си ныбжьэгъум уезмыгъэлъагъуу, ауэ хъуакъым, бетэмал, укъилъагъури къохъуэпсащ. Сэ абы псалъэ естащ зэхъуэпсар хъыджэбзми фызми, къыхуэсшэну. Си псалъэм сепцIыж хъунукъым. Пщэдей абы уестынущи, зыгъэхьэзыр.
— УзэрыфIэфIщ, пщIыр си унафэщ.
— ПщIантIэм дэтхэр згъэIущащ, абы жылэр ягъэIущыжынущ, ди гъунэгъу хъыджэбз хуэдэу уестынущ.
Фызым зигъэхьэзыру, унагъуэм исхэм я гуащэр зэрырагъэшэным зыхуащIу, Джага игу зэгъэжауэ жейуэ нэху къатещхьащ.
Нэху къекIщ, зэрыжылэу фызышэр ягъэхьэзырри, Джага ирагъэжьэжащ, адыгэ хабзэкIэ шу гъусэ щIыгъуу. Ауэ фызышэм щыIэ хабзэ нэщхъыфIагъэр дэнэ къикIынт, псори нэщхъейт, Джага нэмыщI.
Къуажэбгъум зэныбжьэгъуитIым я Iэ щызэрыубыдыжри, Джага фызышэм щIыгъуу ежьэжащ, ХьэтIохъущыкъуэ къигъэзэжащ.
Шэджагъуэ хъуху кIуауэ, дыгъэр гуащIэ щыхъум, псы Iуфэм къыщыувыIащ фызышэр. Щауэр шу гъусэхэм яхэкIуэтащ, дзэл жьауэм щIакIуэр щидзри «нысащIэм» къеджащ. Ишэри щIакIуэ кIапэм тригъэтIысхьащ. «НысащIэм», гузэвэгъуэр къыкIэщIэзэрыхьри, щэхур иIуэтащ:
— Уи ныбжьэгъум и Iэщи иши къеIыпх хъунщ, къыуитмэ, ауэ фыз къыIахыу иджы фIэкI слъэгъуакъым.
Къэхъуар Джага къыщищIэм, фызыр къишэжри и ныбжьэгъум къритыжащ, шыпхъуи къищIри ежьэжащ.
ЗэныбжьэгъуитIым я Iэ щызэрыубыдыжым, цIыхубзым, къаплъэри, псэкIэ зэхищIащ, мы тIум я цIыхугъэр зэрыIуэтэгъуейр.
Ти, Джага кIуэжащ. Зыкъом дэкIри фызи къишащ, адыгэ фыз. Хьэтохъущыкъуи ар илъэгъуащ, абыи лIыгъэ щызэрихьащ, ауэ ар нэгъуэщI хъыбарщ…
^
НАЛО А.
(Т а у р ы х ъ)
Хъыджэбз дахитI зэгъунэгъуу дэст, тIуми я шэгъуэу, тIури тхьэIухуду дахэу, я хьэл-щэнкIи зэхуэдэу укъамыгъэукIытэну, я теплъэр уардэу, я бгыр псыгъуэу, щызекIуэкIэ къаз псы ес хуэдэ щIыкIафIэу, я IэщIагъэкIэ цIэрыIуэу, утыку ихьамэ, жьыри щIэри къехъуапсэу къикIыжу, абыхэм зэрапэсу къагъэфа щIалэхэм насыпыфIэу, забжыжрэ тхьэмахуэ псокIэ иригуфIэу яIуэтэжу къызэрагъэфар. Лъыхъур тIуми яхузэблэкIырти зыр ежьэжмэ, зыр епсыхырт, тIум я хьэщIэщри зэи нэщI хъуртэкъым, яхузэблэкIхэри ауэ къызэрыгуэкI щIалэжь цIыкIутэкъым – мор щIалэ, мыр щIалэ жыхуаIэ нэхъ цIэрыIуэт къылъыхъухэри, ауэ псоми дзы къыхуагъуэтырт е езыхэм, е я анэхэм: хэт шытесыкIэмыщIэт, цIыху хэтыкIэмыщIэт, хэти нэгъуэщI зыгуэрт. ТIури нэхъыфI пэплъэрти а зыпэплъэри къыкъуэкIащ: и лIыгъэкIи и теплъэкIи хэку псом щызэпэзэрылъу хьэщIэ цIэрыIуэ къахуэкIуащ я гъунэгъум, я гъунэгъу нысащIэм и дэлъхуу. ЩIалэр хъыджэбзаплъэу къыщIэкIри абыкIи ягу зэгъащ. Хъыджэбзаплъэ щыхъукIэ хъыджэбз цIэрыIуитIми яфIэкIыу хэт ирагъэплъынт, а тIум ирагъэплъащ. Къыхихынур имыщIэу щIалэм тIури игу ирихьащ, езы хъыджэбзитIми щIалэр ягу ирихьащ. Ауэ тIум хэплъыхьыжыпэри къыхихыныр ищIакъым. ТIэкIунитIэ нэхъ мыхъуми зыр зым нэхърэ зэрынэхъ Iей, дагъуэ гуэр зыхуищIын къилъыхъуэу хуежьэри зыри игъуэтакъым. Ар щхьэжагъуэ хуэхъури къэнащ щIалэм ищIэнур имыщIэжу, жэщкIэ мыжейуэ, махуэкIэ емышхэжрэ емыфэжу. Жэщми арат зэгупсысыр, махуэкIи и гупсысапIэр арат, ауэ телъыджэкъэ, зэхъуэпсар и нэгу къыщыщIэувэкIэ зыр и нэгу къыхущIэгъыхьэртэкъым етIуанэр имыгъусэу…
ХъыджэбзитIри къехъуэпсэщати къаплъэрэ къэдаIуэу щыст, дэтхэнэр дыкъыхихауэ пIэрэ жаIэрэ абыхэм гузэвэгъуэр ятелъу, ауэ къэдаIуэ щхьэкIэ зыри зэхахыртэкъым. Зым адрейм зыщримыгъащIэу тIури зэгупсысыр а щIалэрт. Я анитIми мо щIалэ цIэрыIуэ дэгъуэр я малъхъэ хъумэ я гуапэти, фызитI зэпсалъэу ялъэгъуамэ, къэувыIэрти ядэуэршэрхэрт, игъащIэм ямыцIыхуауэ щытми, зыгуэр зэхахынкIэ гугъэу, ауэ хъыбар лъэпкъ дунейм теттэкъым…
Абы щыгъуэ щIалэр нэхъри нэхъ хьэщыкъыж хъуауэ ищIэн имыщIэжу и щхьэр зэрихьэрт: дэнэкIэ игъазэми и Iуэху хъужыртэкъым, зыхуей Iуэхур и кIэм хунэгъэсыртэкъым, къищтэр Iэпыхурт, зэпымыууэ хъыджэбзитIым егупсысырти Iэмал игъуэтыртэкъым зыр къигъанэу зыр къыхихыну. Щымыхъужыххэм, лIы Iущ гуэр я къуажэ дэсти, абы и деж кIуащ ечэнджэщыну.
ЧэнджэщакIуэ кIуэри Iуэхур зытетыр щыжриIэм, мо лIы Iущ бзаджэр хуабжьу къыхигъэплъащ щIалэм и Iуэху щхьэмыпэм. Апхуэдэу куэдрэ гупсыса иужькIэ, жэуап къритащ:
— Хъыджэбзхэм нэхъ хуэзэрей зыщIи еплъыт, пщIэну щыткъым зэ IуплъэгъуэкIэ гу зылъумыта дагъуэ зым къыкъуэкIынкIи хъунщ, хэт ищIэрэ, цIыхур къэцIыхугъуейщ. ЯкIэлъыплъи тIуми дагъуэ якIэрумыгъуатэу щытмэ, еуи тIури къашэ, нэгъуэщI Iэмал абы иIэжкъым. ЯжеIэ уи Iуэху зытетыр занщIэуи, зымыдэ къыхэкIым ун насыпщ, тIури арэзы хъууэ щытмэ, къашэ. НэгъуэщI чэнджэщ сэ уэстыфынукъым.
Хъыджэбзхэмрэ щIалэмрэ нэхъ зэрылъагъу хъуащ, зэмани дэкIащ, ауэ Iуэхур нэхъ куу хъу мыхъумэ, зыри кIэрыхуртэкъым. Щымыхъужым, хъыджэбзитIыр зэриубыдылIэри яжриIащ игу илъыр:
— Куэдрэ щхьэгъусэншэу къыщIызигъэкIухьар фэ тIyмМи зэуэ сыфхуихьыну ара хъунт сэ. Апхуэдизрэ сымыгъуэтар тIууэ къызитыжащ, делэ сыхъуами сщIэркъым, ауэ къыфхэсхынур сымыщIэу сыкъэнащ. ИгъащIэкIэ сыфхэдами, зыр фыкъанэу зыр фыкъыхэсхыну апхуэдэу къару сэ згъуэтыркъым. ФхузэфIэкIынумэ, тIури зэуэ фыкъыздэкIуэ, фхузэфIэкIынумэ, зэрыхъунур фэ къызжефIэм седэIуэнщ.
ХъыджэбзитIыр пIалъэ гуэркIэ гупсысэри, щIалэр жэуапыхьэ къыщыкIIуэм, арэзыуэ жэуап иратащ.
— Ди Iыхьлыхэм къызэрытхуамыдэнур тщIэрти демыупщIыжауэ жэуап удотыр, дыарэзыщ тIури дыбдэпсэуну, зыр къанэу адрейр насыпыфIэ хъу нэхърэ тIуми зы насып диIэм нэхъ къыдощтэ…
ХъыджэбзитIым зэрыжаIа дыдэм ещхьу, я Iыхьлыхэм заукIыжащ, зафыщIыжащ, ауэ затхьэлэжыпами, тIури ядэIуэнутэкъым — хьэщыкъ зэхуэхъуат.
Я Iыхьлыхэр хьэрэм хъуауэ хъыджэбзитIыр ишэри, щIалэр кIуэжащ. АдэкIэ здэкIуэжар нэхъ IеижитIу къыщIэкIащ, ауэ мо щIалэ хахуэм къыбгъэдэувэу хэт сыт къыжриIэфынт! Зыри къыжраIэфыртэкъым. ЩIалэм я унагъуэр хъарзынэт, фIыуэ зэхущытт, езы тIуми псалъэмакъ яку илътэкъым, псалъэмакъ дэнэ къэна, зым Iэпыхур зым къищтэжу зэдэпсэухэрт.
Ауэрэ щIалэм и ади и ани лIахэщ, езыхэми бын тIурытI ягъуэтахэщ. Ауэ цIыхухэм иджыри нэмыплъ къраплъырти, щIалэмрэ нысащIэхэмрэ зызэщIакъуэри щIыпIэр ябгынащ. Дахэ и Хьэщыкъ къуажэр абыхэм къатехъукIыжахэм къагъэхъуауэ ноби щыпсэууэ жаIэр.
^
НАЛО А.
Гъатхэт. Дунейр дахэт. Дыгъэми щIэщыгъуэу «Сэ нэхъ дахэрэ, нэхъ гуапэрэ дэнэ щыIэ?» жиIэу уафэгу щхъуантIэм зыщигъэкIэрахъуэрт… ДахагъкIэ абы eныкъуэкъуу щIылъэми и щыгъыныщIэхэр зыщитIагъэрт, дунейм дахагъкIэ дагъуэ зыхуигъэщIынутэкъым. Зи лъэ вакъэ изылъхьэу жылэм дэсыр губгъуэм ихьэжат. ЖьыкIэфэкIэ закъуэтIакъуэ унэ хадэм щыпэщащэхэм и нэмыщIарэ, сабий еджакIуэхэмрэ фIэкIа жылэм къыдэмынаIауэ цIыхухэр лажьэрт.
Бжьыдзэ Алий и нысэ Налшык дэсыр къэкIуэжати, ныкъуэпщIэр къигъэнауэ, унэри пщIантIэри зэ пкIэгъуэ хуэмыхъужу, Дисэ къижыхьырт.
«ТаксикIэ дыкъэкIуэжынути хъуакъым»,- жиIэу автобусым къикIыу, Верэ, и хъыджэбзыцIэр Хъанийщ, ипхъу цIыкIур щIыгъуу, нышэдибэ къызэрыдыхьэж лъандэрэ, Дисэ емытIысэхауэ зэанэзэпхъум къакIэлъижыхьырт.
— Адыгэ шхын тIэкIу уигу къэкIакъэ, къурмэн сызыхуэхъун си нысэ? Уэ-щэ, си Лорэ дахэ цIыкIу? — жиIэурэ къащыгуфIыкIырт.
Илъэситхум зи ныбжь ит хъыджэбз щхьэц фIыцIэ цIыкIур и анэшхуэм бгъэдэлъадэрт IэплIэ, ба хуищIын мурад иIэу, ауэ Дисэ хадэм зэрита бостей фIеймрэ бжьын зэрипщIа Iэ пхъашэмрэ щилъагъукIэ, Лорэ и анэм сабийр къыбгъэдешыжри и бостей кIэщI хужь цIыкIум йосэбауэ.
— Так нильзя, Лорэчкэ, ти платье испачкаешь.
— Iы-ы не хочу … я хочу бабушку обнять.
— Зыри адыгэбзэ лъэпкъ ищIэркъэ, Верэ, мы сипхъу цIыкIум?
— Хьэуэ, нанэ, зыри ищIэркъым… Мишэ идакъым: «Хуейми иужькIэ езым зригъэщIэжынщ»,- жиIэри.
— Мы дунейм нэхъ си хъуэпсапIэ щыIэтэIым урысыбзэ зыщIэ фIэкIаи, алыхьым сыкъимужэгъужар пэжу къыщIэкIынти, мы тхьэIухуд цIыкIум урысыбзэ къригъэщIащ… Ауэ, ярэби, сыту фIыт, Верэ, мыбы адыгэбзи евгъэщIэжатэмэ … уи шыкурщ, ялыхь… Мы уи батинкIэ цIыкIури хэт къыпхуищэхуа, си дахэ?
— Бабушка спрашивает, кто тебе купил батинки?
— Папэ купил мне ботинки.
— А зи папэр зыхуэпсэун цIыкIу! Уи папэм укъыпачауэ урещхьщ: уи пи, уи ни, уи нэбжьыци, уи щхьэци, уи жьи, сыт емыщхьу пхэлъ дунейм? Зи папэр псэууэ сылIэн, си дахэ цIыкIу, тхьэм къытхуигъэхъу, тIасэ, тпфу, тпфу …
— Мамэ, что она плюется?
— Ничего, эта — здаровэ будишь.
— А сэ си псэ тIэкIур зышхын мыгъуэ… ялыхь, уэ уи шыкурщ, ялыхь… ар сэ сэзыгъэлъэгъуа!.. Апхуэдэ насыпыр къызэптыну мыпшыныжыну сыт пхуэзлэжьат сэ? -, жиIэурэ къызэплъэкIыурэ унэм щIокIри, Алий нэхъ гу зылъимытэн хуэдэхэм зыхуигъазэурэ бжыхьыр ефыщIри, чыху къехь, сабий лъагъугъуафIэм зыщимыгъэнщIу къыхуегуфIэкIыурэ, аргуэру щIэжыж-къыщIэлъэдэжурэ, зэ лэкъум игъажьэм бгъэдолъадэ, зэ джэд лыбжьэр зэIещIэ.
— Езыр къэсыжым гуфIэнкъэ!.. Къызэралъхурэ иджыри къыздэсам тIури дыщIобэгри жэщми махуэми дыпоплъэри дыщысщ… Ана, Верэ, мыр сыт бостей гъэщIэгъуэн, сымыгъуэ! Дапщэ епта, тIасэ, мыбы?
— Мырэ заграницэм кърахащ, нанэ… Ди гъунэгъу гуэрым къыхурагъэхьати, хуэмыхъуу сэ къэсщэхужащ минрэ щитхукIэ,- жиIэри нысэм и бостей хьэлэмэтыщэр нэхъ гупсэхуу гуащэм иригъэлъэгъуащ. Къэруакъ плъыжьыбзэ бостеикIэр и хъуреягъкIэ пшынэку зэпэзэву зэгъэлъат.
— Угъурлы пхухъу, тIасэ, хъарзынэщ,- жиIэурэ аргуэру щIожри пхъэ къутапIэм холъадэ, гуэщым мажэ, къыщIожыж.
Верэ абджыпс кIэлындорым и щхьэгъубжэр къызэIуидзри къыIутIысхьащ, пшынэкум хуэдэу и хъуреягъкIэ зэгъэлъауэ моднэу щIа и бостейр имыупIышкIун щхьэкIэ, и щIыбагъымкIи и гупэмкIи лъэгуажьэм фIэкIыу дрихьеярэ шэнт къызэрыгуэкIым тесу. Ауэ куэдрэ щымысу къыщылъэтыжри и бостеикIэ щIыбым еплъыжащ: шэнт тегъэщIапIэм бостеикIэр тIэкIу ихулIауэ къыщIэкIащ.
— Нанэ, уа нанэ!
Дисэ пIащIэу пкIэунэм къохыжри нартыху хьэжыгъэ зэрылъ кхъузанэ IэщIэту и нысэм къыбгъэдолъадэ:
— Сыт, си дахэ?. УзыхуейIа?.
— Нанэ, табуреткIэ фиIэкъэ? Мыпхуэдэ шэнт утетIысхьэ хъунукъым гофреищIэ пщыгъыу… Ар сщыгъупщэжри си гофрейр Iисраф езгъэщIащ… Плъагъурэ мыр? — жиIэри и щIыбыр хуигъэзащ.
— Дэнэ деж, си тIасэ, Iисраф хъуар? Си нэ мыгъуэр зэкIуэкIащи дахэ-дахэу слъагъуркъым.
— Мис, моуэ мобдей линэр Iушэ зэрыхъуар плъагъуркъэ, нанэ?
— А сымыгъуэщ, алыхь лъэщ, пэж дыдэм!.. Мис… мис мыбдейр хулIа хуэдэу хъуар пэжщ … Ана, гу лъатэну пIэрэ, абы?
— Ар къызыгурыIуэ еплъми! ЗанщIэу илъагъунщ, фIэмыкIыу!
— Ы-ы! Алыхь-алыхь! Сыту нэ жан яIэ, насып зиIэхэ!
— ФиIэ табуреткIэ, нанэ?
— Алыхь, диIэтэм, мы шэнтыщIэхэр къэтщэхуа иужь, гуэщым щIэддзэжауэ щIэлъщ, шэнт щхьэгуэжьым утетIыcхьэ хъужын мыгъуэкъым.
— Сыт-тIэ иджы тщIэжынур? Шэнт цIыкIу хъуну пIэрэ, Верэ?
— АIэ, нанэ, си кIэр теслъафэ хъурэ, на?
— Сыт тщIэнур-тIэ иджы?.. Алыхь, Фаризэтхэ яIэ си гугъэм… Алыхь, яIэм … яIэщ тхьэ … иджыпсту къэсхьынщ, тIасэ …
Верэ къикIукI-никIукIыу кIэлындорым тетыхункIэ, и Iэпэр Iупс ищIурэ упIышкIуауэ къыщыхъуа зэтедзапIэр зэригъэзэхуэжыхункIэ, Дисэ шэнт щхьэгуэ къихьри къэсыжащ:
— Алыхь, къыпуэзгъуэтамэ, си тIасэ! Мэ… шэнт гъуэзэджэ яIэу къыщIэмыкIаи, тIасэ!
Верэ шэнт щхьэгуэм и бостейр фIэубгъуауэ тетIысхьэжащ. Дыщэджэдым и кIэ къабзийр зыдэIуа пыIэ плъыжь дахэри, къызэрыс лъандэрэ Дисэ фIэкIа зыми зэримылъэгъyaм щхьэкIэ, щхьэримыхауэ щхьэрыгъыу уэрам нэщIым доплъэри щысщ. Лорэчки кIэлындорыбжэ Iyxaм кIэрыувауэ джэдкъаз куэд зыдэт пщIантIэ щхъуантIэм доплъэ, и нэфIьщIэ дахитIыр къигуфIыкIыу, езыри къэпIейтеяуэ.
Къаз бын пщIантIэм щохъуакIуэ, къаз анитIрэ зы къазыхъурэ яхэту. Къаз шыр къишагъащIэхэр удз тхьэмпэ псыгъуэ цIыкIухэм къоIэри удзыр къыпача иужькIэ щIыбагъкIэ къыщхьэпредзыжыр абыи я лъакъуэ гъуэжь цIыкIу дэгъэзеяхэмкIэ елъэкъуауэурэ ерагъкIэ зыкъызэрагъэдзэкIыжри къоувыжхэр, аргуэруи удзым еIэн щIадзэж.
Джэдкъурт, е гуэгуш, бабыщ гъунэгъу къахуэхъуа иужькIэ, къазыхъужьыр я пашэу анитIыр йолъри я пщэхэр къуаншэу хэшауэ я щхьэхэр щIым еIусэу ехьэхауэ «с-с-с» жаIэурэ бийхэр Iуахури щырхэм хъупIэ къыхуазэу.
А гъэщIэгъуэнхэр сурэткIэ зымылъэгъуа Лорэчкэ «Мамэ, я хочу потрогать утят»,- жеIэри мэлъаIуэ, и анэм игъакIуэркъым.
Дисэ гуэрыр къыщIолъэдэжри мэгузавэ:
— Сэ сопщафIэ жысIэурэ мы тхьэIухуд шыр цIыкIур згъэмэжэлIа си гугъэщ, тхьэ! Мор хьэзыр хъуху, сыт ишхыну пIэрэ, Верэ? ЕупщIыт, тIасэ.
— АIэ, нанэ, абы вапше зыри ишхынукъым. Падаркэ, псо и адэм къыхуищэхуауэ си радикюлым изщ. Умыгузавэ.
— КъызэрыкIуэрэ зы Iулъхьэ ишхакъым, на-а … Ярэби шкIэрышэ ишхыну пIэрэ, Верэ? ЕупщIыт, тIасэ, тхьэ уеупщIын, Верэ. Иджыпсту хывыжьри къыдэлъэдэжынущ… МахуитI мэхъу зэрылъхуэри шэджагъуэ нэужь зэрыхъуу яхуэмыубыду къафIокIуэж… ЕупщIыт, сигу гъэзагъэт, тIасэ, ишхыну пIэрэ шкIэрышэ?
— Лорэчкэ!
— Что, мама?
— Будиш кушат шк…ыы..ы… шкариша?
— А что это такое, мамочка?
— Это? ы-ы .. эта, вэпше очен сладкэ.
— Буду, мамочка, если очень сладкая.
— Ишхыну жеIэр, нанэ.
— А къурмэн сыпхухъу, сытми зыгуэр тхуэпшхащэрэт, си псэ тIэкIур зышхын… Сыту фIыт, ярэби, сыту фIыт. Иджыпсту къэсыжынкъэ ди хывыжьри … Сыту фIыт …
Дисэ гуфIэу щIэпхъуэжащ, хывыр къызэрымысыжым нэхъ гукъеуэ имыIэжу, и Iуэху яужь ихьэжащ, Iэуэлъауэу. Вери фIыуэ дыгъэм иригъэзыхыхункIэ уэрам нэщIым дэплъэурэ езэшри зыри щимылъагъум, езыри зыми къыщимылъагъум, Лорэчкэ и Iэпэр иубыдри пщIантIэ удзыпцIэ щхъуантIэм къыдыхьащ джэдкъазхэр къызэшхыдэкIыу, гъуэгу пщIантIэр дэнэ къэна, хадэбжэр Iуихри хьэсэ ныкъуэпщIэм еплъащ, нэгъуэщI къэкIыгъэхэри зэпиплъыхьащ, тетIысхьэпIэм тетIысхьащ.
Къуажапщэм къыщыщIэдзауэ къуажэкIэм нэс уэрам занщIэм зы цIыху, сабий, лIыжь, фызыжь, закъуэтIакъуэ инэмыщIа, дамылъагъуэу дыгъэр къухьэным нэблэгъэху, зэанэзэпхъур уэрамым тесащ. Абы хэту хыв гъуахъуэ макъ зэкIэлъигъэпIащIэу къуажапщэмкIэ къыщыIуащ: уэрам сабэр уафэм нэсу и щIыбагъым иту, и щхьэр егъэзыхауэ, зы хыв домбей уэрамыкум иту хьэмкIэу къежэхырт.
— «Дисэ и хывыр къокIуэж»,- къицIыхуащ хывыр Верэ.
— Вот она буйволь нанэ, Лорэчкэ!
— Какой он большой и черный!
3и нэм лъы къытелъэдауэ, зи шкIэм тегужьеикIауэ къэкIуэж хывым щхъуэкIэплъыкIэ мыцIыхур щилъагъукIэ, ищIэнур фщIэртэкъэ!
УзижэгъуэнитIым и махуэщ абы ищIар: хыв губжьар уэрамыкум иуващ, къэплъащ, адрей уэрамыбгъум нэс пхэкIэ икIуэтщ, къилъри хывыр къезэуэну зи пщIыхьэпIэ къэмыкI фыз хьэщIэ бэлэрыгъар бжьакъуэпэкIэ зэридзэу щIидзащ. Хъыджэбз цIыкIур кIийуэ пщIантIэм дэлъэдэжри Дисэ къигъэпхъэращ. Ауэ, Диси, Дисэ и гъущI гуахъуэри, лIыжь-фызыжь къызэхуэжэсахэри къыфIэмыIуэхуу, хывым фызыр яфIиукIыу хуежьащ.
Верэ ажал нэрылъагъум къезыгъэлар и бостейр щригъэдым щыгъуэ, и лIым едаIуэу моднэ ныкъуэу иримыгъэщIу, моднэ нэс зэрыригъэщIар — и бостей щIыбым бжьакъуэ дэIупIэ зэрыхуригъэщIар арщ. Хывым зридзэурэ ныбэгукIэ щIым зыхэзыIуба фызым, насып иIэти, бостеикIэм хывыбжьэр фIэнэри бостей моднэр бжьэкIэ щихащ, и бжьэм фIэна шынагъуэм езауэу хывыр щIэпхъуэри фыз ныкъуэтIэщIыр куэбжэпэ сабэм къыхэнащ. Абы хэту лэжьакIуэ къикIыж цIыхухэри къызэхуэжэсри Муштэхьид и фызыр унэм щIахьэжащ, колхоз машинэри къагъэсри Налшык больницэм къашэжащ. Ар и хэкIыжыкIэу, хыв лъхуам и зэранкIэ, Верэ и заграничнэ бостей моднэр ямылъагъуу къуажэ хъыджэбзхэр хэкIыжащ. Лорэчки шкIэрышэ имышхыу и анэм и гъусэу яшэжащ.
Хывым ищIа фэбжьыр Алий жраIэжри, уоху, алыхь: хывыp yукIыным къеблагъэ, Iейуэ иукIащ, ауэ щIаукIар хывым иджыпсту уеупщIами ищIэркъым: бостей зэфIитхъар езым нэхърэ зэрынэхъ лъапIэри, илъэситху лъандэрэ къыдэмыхьэжа нысэр лIэнкъэнэну зэригъэщтари иджыри ищIэркъым.
Нобэ лъхуарэ ирихьэлIэу щытмэ, «сызытраукIар мырат» жиIэу укъигъэнэнукъым, Верэ и бостейм хуэдэ пщыгъмэ. Сыт епщIэн? — апхуэдэу къигъэщIащ хывыр.
Вери тхьэмахуэ дэмыкIыу дыркъуэ къытемынэу хъужащ, ауэ къуажэм щыкIуэжкIэ дэнэ къэна, къалэм щыдэткIи моднэ бостей хущимытIэгъэжу тхьэ еIуэ и лIым.
11. ГУРЬIIУЭГЪУЭЩ
НАЛО А.
Паркым зы цIыхубз гъэщIэрэщIа гуэр итт, къабзий кIыхь гъэщIэгъуэн гуэрхэмкIэ гъэдэха пыIэ хужь ин гуэри щхьэрыгъэсауэ.
Абы и нэкIу егугъупэу лам ауаныгъэ хэлъу зы гуфIэкIэ гуэрым тету, езым хуэдэу зыщымыхуэпыкIауэ аллеем щызекIуэ цIыхухэм яхэплъэрт. И IэплIэм ис джэду фIыцIэм емыплъурэ, фIэмыIуэху щIыкIэурэ, Iэ дилъэу цIыхубзыр щытт. Ар, дауи, зыгуэрым поплъэ икIи абы и щытыкIэм, зэрымыгузавэм къаIуатэ а зыпэплъэ цIыхур къызэрыкIуэным абы шэч лъэпкъ къызэрытримыхьэр.
НыбжькIэ мыщIалэжу, ауэ иджыри хэмыкIуэтэщауэ зы цIыхубз гуэр, и Iэблэм мазищ зи ныбжь сабий жея телъу, паркым къихьащ. Фызым и нэкIур фагъуэми, япэм иIа дахагъыр фIэкIуэдыпатэкъым.
И теплъэ эакъуэми, зи плъыфэр щIэкIа, ауэ иджыри гуакIуэ Iупэхэми, и нэ фIьщIэшхуэ нэщхъейхэм къурашэу къыщхьэщыт набдзэ дахащэми — псоми къаIуатэрт и щIалэгъуэм ар гуакIуэу зэрыщытар. Ар зыгуэрым нэкIэ лъыхъуэрт, ауэ и плъэкIэм а нэщхъеифэр текIыртэкъым. Абы зэуэ къилъэгъуащ пыIэ щхьэрыгъыу, джэдури зи Iэблэм тесу щыт цIыхубзыр. Абы зэрыIуплъэу, фызым лъы къыщIыхьэжащ: и Iупэхэр зэтрикъузащ, бауэкIэщI къызэрыхъуар къыуагъащIэу и пэщхъын цIыкIухэр зэкIэщIэкI-зэкIэщIыхьэжу хуежьащ, набдзэ фIыцIэ арыншэуи къуаншэхэм нэхъри заукъуэншащ, и нэ нэщхъей фIыцIэшхуитIри апхуэдизкIэ къызэщIэнати, зи ишэгъуэ хъуа хъыджэбзхэр къефыгъуами емыкIутэкъым, апхуэдизкIэ гуащIэу ахэр къэлыдауэ пыджэрти, езы ажал дыдэр фIэлIыкIынт.
ПыIэ зыщхьэрыгъ цIыхубзми абы гу лъитащ. Ауаншыгъэ зыхэлъ гуфIэкIэр зэуэ текIащ, цIыху блэкIхэм еплъыныр къигъэнащ, дыгъэ къухьэм еплъу, фыз къакIуэр имылъагъуфэ зытригъауэри увыжащ, джэдуми къытелъэщIыхь Iэпэхэм я гуапагъэм зыщихъуэжым, зи IэплIэ исым зыгуэр къызэрыщыщIар къищIэри, нэхэр къызэтрихри зиплъыхьу хуежьащ.
КъызэрыкIуэм и псынщIагъым химыгъахъуэу къакIуэурэ, сабий зыIыгъ фызыр абы и деж къызэрысу сэмэгурабгъумкIэ зигъазэри зэрылъэкIкIэ цIыхубзым и напэ сэмэгум еуащ, и Iэпхъуамбэхэм я дамыгъэр тридзэу.
Шляпэ хужьыр къыщхьэрылъэтри аллее сабэм ирижащ, лъэужьитI къигъанэу, джэдури, къэхъуар къыхуэмыщIэу, зэуэ щIым къелъыхащ, ауэ, пыIэ ежэжьар щилъагъум, къыдэджэгуу къыфIэщIри, дэлъей, къелъыхыу пыIэм кIэлъыщIэпхъуащ; цIыху блэкIхэм къэхъуар къагурымыIуэу цIыхубзыр къаувыхьу щIадзащ, сабий зыIыгъ фызыр Iуэхум зыри химыщIыкI хуэдэу, мыпIащIэу, а зэрыкIуэм хуэдэурэ, и гъуэгу хигъэщIу ежьэжащ, и сабий жейри къэушакъым.
Аллеем джэдум къыщрихуэкIыурэ сабэм иуа, хужьыгъэ зыхэмылъыж и пыIэр къищтэжри, зы псалъи жимыIэу, цIыхубзыр чыпэм хыхьащ.
«ФIыщэу зылъагъуу» зезыхьам къыщыгъупща джэду фIыцIэри, гупсысэу зы тэлайкIэ щытри, къэзыгъанэу ежьэжам и лъэужьымкIэ иунэтIащ.
Къэхъуа псори зылъэгъуауэ, мыбы и гъунэгъуу щыс лIыжьми газет ныкъуэеджэм щIидзэжри куууэ щатэри жиIащ: «3ы псалъэ жимыIами, гурыIуэгъуэщ»,- жиIэри.
3и Iуэху хэмылъхэм къэхъуа Iуэхур гуауэ ящыхъуауэ, пыгуфIыкIхэри, щхьэж и Iуэху яужь ихьэжащ.
Скачать 1,59 Mb.
|