Ц1ыхумрэ псэущхьэмрэ сочинение

Обновлено: 12.03.2023

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ — ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Темэр. МакъдэкIуашэхэр, макъзешэхэр, слияниехэр. Мэз псэущхьэхэр б э урок (напэк1уэц1 9 жьыхьэм.

Мурадыр. Псалъэухам, псалъэм, пычыгъуэм, макъхэм, ударенэм теухуауэ ящIэр егъэбыдылIэн, пычыгъуэм слияниекIэ уеджэ щыхъумкIэ гурыIуэныгъэ етын.

Сабийхэм я бзэм, зэхэщIыкIым зегъэужьын: бжьыхьэм мэз псэущхьэхэм я гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ къыщыхъухэм гу лъегъэтэн, сурэтымкIэ псалъэуха зэхалъхьэфу, ахэр хъыбар кIэщIу зэхагъэувэфу егъэсэн.

ЩIыуэпсым и сыт хуэдэ пкъыгъуэми гулъытэ хуащIу есэнымкIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэ еджакIуэхэм ядегъэкIуэкIын.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр. Бжьыхьэ зэманым и теплъэхэмрэ мэз псэущхьэхэм бжьыхьэр зэрахымрэ къызэрыщ сурэтышхуэхэр, е компьютеркIэ къэбгъэлъагъуэ хъун видеопычыгъуэхэр, сурэтхэр. Псалъэхэм я модельхэр, псалъэухахэм я схемэхэр. Макъзешэхэмрэ макъдэкIуашэхэмрэ къызэрагъэлъагъуэ карточкэ щIыхухэмрэ плъыжьхэмрэ.

Урокыр зэрекIуэкIынур

I . Таурыхъым и зэман.

2. Сабийхэм мэз псэущхьэхэм теухуауэ ящIэ къуажэхьхэр жегъэIэн егъэджакIуэми яжриIэн. Къуажэхьхэр нэхъ тыншу къэпщIэн папщIэ, абы жэуапым ухуэзышэу хэт Iыхьэхэм гу лъегъэтэн. (Мэз псэущхьэхэм я сурэтыр е компьютерымкIэ къэгъэлъэгъуэн, е доскам къыфIэдзэн хуейщ.)

Уеплъмэ — банэ топ, и пэр умылъагъу. (цыжьбанэ) Пхацэ, цыбэ, щхьэхынэжь. (мыщэ)

Мэл кIапэ ещэу мэз къэущыхь. (дыгъужь) И тхьэкIумэр дзасэ, и пэр сыринэ, и нэр вагъуэ, мапкIэ, малъэ. (тхьэкIумэкIыхь)

Си тхьэкIумэр зэблызох,

Си нэ цIыкIухэр дэнкIи маплъэр,

Лъакъуэ цIыкIухэр жыжьэ малъэр,

Си гур щтаблэщ, къолъэтыкI,

Хьэм сигъащтэм солъэтыкI.

Щоджэн Леонид

Жыгыжь гъуанэр зи псэупIэ,

Ди мэзыжьыр зыгъэбжьыфIэ,

ЦIыкIуи ини зыгъэгуфIэ,

Мыдэ къаплъэт, бацIэ цIыкIу,

Уэсхъуэжынущ сэ дэ цIыкIу,

Абы щхьэкIэ уи сурэт,

Сэ фэеплъу уэ къызэт. (КIэпхъ)

Щоджэн Леонид

Зи щхьэр матэ, зи кIэр топ. (Аслъэн)

Зи кIэр зылъэфу зи фэр зи бий. (Бажэ)

4. Псалъэхэр хэту псалъэуха зэхалъхьэ, абы схемэ хуащI.

I. Мэз псэущхьэхэм теухуауэ видеофильм егъэплъын.

Кинофильмым сыт умыщIэу къыуигъэщIа?

II. Урокым яджар къызэщIэкъуэжын.

Дэтхэнэ зы сабийми урокым щигъэзэщIа къалэныр къызэрехъулIам тегъэпсэлъыхьыжын, унэм щIэсхэм яхуиIуэтэжыфын хуэдэу.

Темэр. Таурыхъхэм дыщохьэщIэ.

Мурадыр. Таурыхъхэр зищIысым, абы и лIэужьыгъуэхэм сабийхэр щыгъэгъуэзэн; я бзэм, зэхэщIыкIым зегъэужьын; гущIэгъу яхэлъу, гулъытэ яIэу, щэныфIэу зэрыпсэун хуейм хуэгъэсэн.

Урокым къыщыгъэсэбэпын хуейр. Таурыхъхэм хэт персонажхэм я фащэхэр, теплъэгъуэхэм къыщагъэсэбэпыну хьэпшыпхэр.

Урокыр зэрекIуэкIынур.

1. Сабий нэхъыжьхэм ягъэувами (ар драматическэ кружокым и лэжьыгъэми хъунущ), е адыгэбзэкIэ КъБР и телевидением трихахэм щыщми е езы сабийхэм егъэджакIуэм дигъэувами, унэм езы сабийхэм я гупыжкIэ щагъэхьэзырами, таурыхъхэм къытращIыкIа теплъэгъуэхэм егъэплъын. Таурыхъ кIэщI цIыкIуу зытIущ егъэлъэгъуами хъунущ. ИужькIэ персонажхэм я хьэл-щэнхэм, ягу ирихьахэм, гущыкI зыхуащIахэм тегъэпсэлъыхьыжын хуейщ.

Таурыхъхэр зэригуэш лIэужьыгъуэхэр яжеIэн. Ахэр зэрызэщхьэщыкIым гу лъегъэтэн.

2. Урокым яджар къызэщIэкъуэжын. Сыт фымыщIэу къэфщIа? Сыт гъэщIэгъуэн фщыхъуа? Сыт унэм фыкIуэжым нэхъ щыфщIэну фыхуейуэ нобэрей урокым фызыхуишар? (Нанэ таурыхъ жезгъэIэжынущ, сурэт сщIынущ, н.къ.)

Темэр. Псалъэуха, псалъэ, пычыгъуэ, макъхэр, ударенэ.

Мурадыр. Псалъэухам, псалъэм, пычыгъуэм, макъхэм, ударенэм теухуауэ сабийхэм къащIар къэпщытэн, егъэбыдылIэн, я бзэм, зэхэщIыкIым зегъэужьын, еджэным гупыж хуегъэщIын. Зыр зым дэIэпыкъуу есэнымкIэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.

Урокым къыщыгъэсэбэпын хуейр. Предметнэ сурэтхэр, схемэ зэращIыну кIэлъымпIэ хъурей плъыжьхэмрэ плIимэ щIыхухэмрэ.

Урокыр зэрекIуэкIынур.

Сурэтхэр гупитху гуэшауэ щыщыткIэ, сабийхэри гупитху гуэшыпхъэщ. Гуп къэс жеIэпхъэщ къыхахын хуей сурэтым къигъэлъагъуэр. Зы гупым къыхах Iэщхэр къызэрыщ сурэтхэр, етIуанэм – джэдкъазхэр, ещанэ гупым – бзухэр. Гуп къэс хэт сабийм и бжыгъэм хуэдиз сурэт Iэнэм телъыпхъэщ. Сурэтхэр сабийхэм ямылъагъуу Iэнэм телъын хуейщ, бгъэдэлъадэм лъыхъуэн хуэдэу. Къыхаха сурэтыр псынщIэ дыдэу я псэупIэм ирагъэувэ (бзухэр абгъуэм, Iэщхэр – Iуэм, джэдкъазхэр – джэдэщым). Джэгун яуха нэужь, сабийхэр щхьэж къыхиха сурэтым топсэлъыхьыж: псалъэр къыжаIэ, ар схемэкIэ къагъэлъагъуэ, пычыгъуэкIэ зэпауд, макъзешэ, макъдэкIуашэ дапщэ хэтми къахутэ, ар къызэращIа щIыкIэр къыжаIэ, ударенэ трагъэувэ, сурэтым къищыр зэрысэбэпыр къыбжезыIэ псалъэуха зэхалъхьэ. Псалъэухам и схемэ ящI. (Предмет псоми уелэжьыну Iэмал имыIэу щыткъым). ЗэманкIэ укъикIмэ, гуп къэс предметитI-щы къапщтэми хъунщ).

ЕгъэджакIуэм . Иджыпсту жыфIа псалъэхэм макъ –а- зыхэтхэр къыжыфIэ. Макъ –а-р адрей макъхэм нэхърэ нэхъ укъуэдияуэ вгъэIу. Доскам деж тет дамыгъэхэм къыхэвгъуатэт макъ –а-м и унэр. (доскам дамыгъэ-хьэрфхэр тетщ). Макъым и унэр хьэрфыращ. Макъ –а-р щыжытIэкIэ ди жьэм къыщыщIымрэ хьэуар къызэрыджьэдэкI щIыкIэмрэ дигу къэвгъэкIыжыт.

2. ДжэгукIэ. Гуп къэс зэлэжьыну хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, удз гъэгъахэр къызэрыщ сурэтхэр доскам къыфIэдзауэ фIэлъщ. Япэ гупым – пхъэщхьэмыщхьэхэр, етIуанэм – хадэхэкIхэр, ещанэм – удз гъэгъахэр къыхах. Къыхаха сурэтхэм къарыщым и цIэр къыжаIэ, макъзешэу хэтыр къраIуэри сурэтым и бгъум кIэрагъапщIэ, е кIэралъхьэ, е тралъхьэ макъ зешэу хэтым хуэдиз къыхэгъэжа хъурей плъыжьхэр. ЕтIуанэ гупым я псалъэхэр къыжаIа, макъдэкIуашэ бжыгъэм пэкIуэу кIэлъымпIэ щIыхум къыхэгъэжа плIимэхэр сурэтхэм тралъхьэ. МакъдэкIуашэхэм теухуауэ ящIэр къыжаIэ. Ещанэ гупым я сурэтхэм къарыщ предметхэм я фIэщыгъэцIэр жаIэ, пычыгъуэкIэ зэпауд, ударенэ зытехуэ пычыгъуэр къраIуэ. Псалъэм и схемэр ящI.

Псоми макъ – а- зыхэт псалъэхэр къыжаIэ, ар укъуэдияуэ къапсэлъ.

(Урок къакIуэ яджыну темэм худогъэхьэзыр).

3. ЕджакIуэхэм я цIэр схемэ егъэщIын.

ЕгъэджакIуэм. Зы сабий доскам деж къыдеш. Мыр хэт? (Маринэщ). Сыт Маринэ епщIэ хъунур? (УеIусэ, убгъэдэувэ, удэджэгу, убгъэдэс, удэшхэ, н.къ.). (ЕгъэджакIуэм хъыджэбз цIыкIур классым щIегъэкI.) ЩIэкIащ хъыджэбз цIыкIур. Сытыт абы и цIэр? (Маринэ). Ар псалъэщ. Сыт абы етщIэ хъунур? Убгъэдэувэ хъуну? Удэшхэфыну, удэджэгуфыну? (жыпIэ мэхъу, зэхыбох, схемэ хуэпщI хъунущ). ХудощI схемэ. (кIэлъымпIэм къыхэгъэжа хъурей плъыжьхэмрэ плIимэ щIыхухэмкIэ). ИужькIэ сабийхэм щхьэж и цIэр схемэ ебгъэщI хъунущ. Макъ – а-р зыхэт цIэхэм къыхегъэщыпхъэщ.

4. ЕджакIуэхэм я унэцIэм хэт макъзешэм хуэдиз хъурей плъыжьхэр къагъэгъэлъэгъуэн, итIанэ макъдэкIуашэу хэтым хуэдиз плIимэ щIыхухэр къегъэщтэн, схемэ унэцIэхэр егъэщIын. Сабийхэм я цIэ-унэцIэхэр хэту псалъэуха зэхегъэлъхьэн.

5. Зэджар егъэбыдылIэн. ФIыуэ ялъагъу джэдум е хьэ цIыкIум и цIэр схемэу егъэщIын.

6. Яджар къызэщIэкъуэжын. Сыт нобэ фщIар? Сыт пщIам щыщу нэхъ уигу ирихьар? Сыт ар уигу щIрихьар. Иджыри хэт и цIэр птхынт? Мис ар унэм щыгъэзащIи уи нэхъыжьхэр гъэгуфIэ.

Нобэ мы ди зэ1ущ1эр зытеухуар бжьыхьэщ. Бжьыхьэ къулей жа1э. Ар пэжщ. Сыт хуэдиз хадэхэк1 къитхрэ хадэм. Жэгундэхэр, пхъыхэр, к1эрт1офхэр, къэбыстэхэр, бжьынхэр, бжьыныхухэр нэгъуэщхэри. Мы иджыпсту вжес1энур сыт хуэдэ хадэхэк1ми къафщ1эт?

Уэ уи къуэпсыр къэк1ухьлъакъуэщ,

Сытым хуэдэу псыгъуэ к1ыхь

Зысф1егъэпщк1ури и щхьэ закъуэу

Феплъыт абы телъ бэлыхьым!

Здэн фымыщ1эу гугъу зэрехь

Щхьэдэхауэ банэ бжыхьым

Ди гъунэгъум къэб яхуехь!

Сыт хуэдэ хадэхэк1 усэм зи гугъу ищ1ыр?

Иджы зэ1утхынщ ди зэ1ущ1эр.

1. Бжьыхьэр къытхуэк1уащи

2. Дэ дыздэ1эпыкъуу

Кърес хуейм щ1ымахуэр,

Гуэнхэм из хъужащ.

Бжьыхьэ пщащэр къохьэ. Сэра зи гугъу фщ1ыр? Дауэ фыщытхэ? Бжьыхьэ сэламыр фызох. Сэ фи усэхэм, уэрэдхэм седэ1уэну сыкъэк1уащ. Ныбжьэгъу пэж сыфхуэхъуну сыхуейщ. Сэ си гъусэу сыкъэк1уащ си дэлъхуищыр. – ар бжьыхьэ мазэхэращ. Фц1ыхуу п1эрэ ахэр?

Мэкъуи, мэши, гуэдзи-

Псори и хьэзырщ . ( сентябрь- фок1адэ)

Зыкъыхухуэпащ . ( октябрь- жэпуэгъуэ)

Ди дыгъэм и фэр пихуащ,

Махуэ к1ыхь хуабэу щытахэр,

К1эщ1у щ1ы1эбжьу къэнащ . ( ноябрь- щэк1уэгъуэ)

Ф1ыуэ фощ1э бжьыхьэ мазэхэр. Иджы фи усэхэм седэ1уэнщ.

Бжьыхьэм нэм къы1удзэр

Хъуащ удзыфэ удзыр.

Мэзыр хъуащ ц1ырхъыбзэ,

Псыри хъуащ нэхубзэ

Уолъагъу мывэ хэлъыр.

Нэхъ гъунэгъу къэхъуауэ

Гъунэгъу къуажэ ц1ык1ури

Зэм пщэм зыкъуегъапщк1уэ

Жьым ищ1ауэ пшэр хъыринэ,

Уафэр хъуауэ пф1ощ1 гъыринэ,

Щ1ыр егъэпск1ри нэпск1э

Пшэхэм хыву псыр къапыжу

Зэщ1ащтащ уэгу лъащ1эр

Жэпкъ лъадийхэр щ1ощ1э.

Къэсщ щ1ымахуэ гъущэри

Гъуэжь хъуху илыгъуащ.

2. Уэшхыр къыпыщэщу

Кхъахэ хъуа къэпталыр

Къэнащ губгъуэр пц1анэу-

Пшэжьхэм чэсей джанэр

Губгъуэ псори гъуэжьщ.

Бзу ц1ык1ухэм зэудэу

Пщ1ащэхэр щ1ым трапхъэу

3. Къуршхэм я щхьэщыгум

Къихьащ губгъуэ – щ1ыгум

Бжьхьэр, ар – пшэрыхьщ.

Адэк1э дедэ1уэнщ бжьыхьэ нэщэнэхэм.

Иджы «Мартин япэу щак1уэ зэрык1уар « жыхуи1э теплъэгъуэ ц1ык1ум феплъ.(йоплъхэр)

Адэк1э ц1ык1ухэм къывжа1энщ бжьыхьэм теухуа псалъэжьхэр :

  1. Гъатхэм жеяр, бжьыхьэм магъыж.
  2. Бжьыхьэ жэщ щэрэ минщ.
  3. Бжьыхьэ бадзэ дзакъэрейщ.
  4. Бжьыхьэ жэщым вырэ шырэ йок1уадэ
  5. Бжьыхьэ уэф1рэ пщы 1упэф1эгъурэ.
  6. Зы бжьыхьэ махуэм щ1ымахуэ псом уегъашхэ.
  7. Гъатхэм ф1амыщ1ыпс еутхри, бжьыхьэм сэхусэплъ еутх.

Щыхьибжьэм ещхь хъуаи

Тхьэмпэ ц1ык1у пытахэр

Зы къэмынэу гъуаи

Ауэ мэхъу си ф1эщ сэ

Бзу ц1ык1ухэр бзэрабзэу

2. А жыг ц1ык1ум и пкъыр

Мэхъур ар си жагъуэ

Тхьэмпэр щ1ылъэм щызщ.

Бжьыхьэ пщащэм и к1эух псалъэр .

Аращи, абы и дежым ди зэ1ущ1эр зэхуэтщ1ыжынщ:

Мылъкуу ди1эм хэдгъахъуэу,

Губгъуэу ди1эр бэвылъэу,

Ди гуэнхэм гъавэр изу,

Хъугъуэф1ыгъуэр ди куэду,

Къетхьэл1а гъавэр 1эф1рэ

По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Продукты интеллектуальной деятельности педагога, . Разработка интегрированного внеклассного занятия (математика, внеклассное чтение).

Самоанализ внеклассного мероприятия.

конспект внеурочного занятия для 3 класса.

Данное мероприятие способствует воспитанию у учащихся любви к Родине, уважения к ее защитникам, стремления служить Отечеству; формирование позитивного нравственного климата в коллективе.

Внеклассное занятие по оригами «Голуби мира», Презентация к внеклассному занятию «Голуби мира»

Данное занятие посвящено памяти героев Великой Отечественной войны. Сделана подборка стихов о празднике День Победы для заучивания наизусть. В презентации к занятию раскрывается роль голубей-гер.

Цели:дать представление обучающимся о значении и содержании подвига новомучеников в истории России и Русской Православной ЦерквиЗадачи: дать объективные представления о причинах гонений на Церковь в н.

Amina, Къэсхь хабзэр

Amina Fidarova

👌

Сатаней,

Даяна Шарибова

😂

Я писала но не помню

😃

Даяна, Ар дыдэращ сэри

Даяна Шарибова

😂

No Name

👍🏻

Читал в школе это произведение

Замир Хутов

2 къэсхьау щыта мыбык1э

Дарина Катаева

😹

Сэри стхау щытаа

Маша Васильева

DELETED

«Хьэжыгъэ пут закъуэ» ЩоджэнцӀыкӀу Алий

Мы тхыгъэр ин дыдэу пхужыӀэнкъым, ауэ гурыщӀэу зыхигъащӀэм, гупсысэу уигу къигъэкӀыр куэдыщэ дыдэщ. Тхыгъэр зытепсэлъыхь зэманым лъандэрэ илъэсищэм щӀигъу дэкӀами, пщыхэмрэ пщылӀхэмрэ щымыӀэжми, тхыгъэм къыщыхъу Ӏуэхугъуэхэр ди нобэрей гъащӀэми щыхыболъагъуэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи.
Показать полностью.

Тхыгъэр зытеухуар цӀыхум и гуауэм, и фэм дэкӀ бэлыхьым, ишэч хьэзабым, гущӀэгъуншэу, цӀыхугъэншэу зыр зым дызэрыхущытырщ. А псори тхакӀуэм ди нэгум къыщӀегъэувэр сабийм и гупсысэхэмкӀэ, и гурыгъу-гурыщӀэхэмкӀэ, и нэхэмкӀэ дырегъэплъ а къэхъуа Ӏуэхугъуэхэм.

Сабийм и гум мывэшхуэ хьэлъэу телъщ а хьэжыгъэ путым къахуихьа гуауэр, дунейм и дахагъэри къыфӀэмыӀэфӀыжу ещӀ. Хуэгъэвкъым а гузэвэгъуэр илъэсибгъу хъу сабийм и гум, и акъылым.

Унагъуэр шхын щхьэ мылӀэн папщӀэ, Хьэмид и гъунэгъу Тембот хьэжыгъэ пут закъуэ щӀыхуэу, хуэлэжьэжыну къыриӀыхащ. Тембот хьэж щыӀащ, Тембот хьэжыкӀэ йоджэр, сарыкъыр щыгъщ, нэмэз щыгъэр ӀэщӀэлъщ. Ауэ сыт и пэрмэн теплъэкӀэ зыбгъэмуслъымэныныр, ауэ хьэл-щэнкӀэ, Ӏуэху щӀэнкӀэ умымуслъымэным, цӀыхухэм уазэрыхущытын хуейуэ диным фарз тщищӀ хьэлыфӀхэр пхэмылъмэ, Алыхьым хьэрэм ищӀа пагэныгъэр пхэлъмэ, динымкӀэ уи щхьэ Ӏуэхухэр дэбгъэкӀмэ!? Диным и дахагъэр, и къабзагъэр зэхащӀэфакъым апхуэдэ цӀыхухэм. ТхьэмыщкӀэхэщ дауи жыӀи.

Иныкъуэ адыгэхэм я анэбзэм теухуауэ хуаӀэ бгъэдыхьэкӀэ, гупсысэкӀэ къуэнтӀа, зэблэша, мышухэри къыхощыр тхыгъэм. Адыгэ унэцӀэр, цӀэр зэрихьэу, теплъэкӀэ адыгэу, ауэ мыукӀытэу и лъэпкъым и псэр зыхэлъ бзэр Ӏумпэм ищӀу, «дызэрекэр урысыбзэс, ди бзэр сыту ссын…»,- жиӀэу. Ари мытхьэмыщкӀэу дауэ зэрыжыпӀэнур!?

Тхыгъэм къыщыхъу псоми сытэпсэлъыхьынкъым. Феджэм фэ езым щыгъуазэ фыхъунщ Хьэсет цӀыкӀу и унагъуэм хьэжыгъэ пут закъуэм бэлыхьу къатрилъхьар.

ЩоджэнцӀыкӀу Алий Ӏэзэу дегъэлъагъу цӀыху цӀыкӀум ди хьэл мыхъумыщӀэхэр, абы гуауэ къихьыр. Тхыгъэм дерс нэхъыщхьэу сэ къыхэсхар зыщ: » Адыгагъэм, муслъымэнагъэм дахэу утепсэлъыхькӀэ, фащэ дахэ зыщыптӀагъэкӀэ зэфӀэкӀкъым, ахэр уи хьэлыфӀхэмкӀэ, уи щэнымкӀэ, цӀыхухэм уцазэрыхущытымкӀэ, Ӏуэхум узэрыбгъэдыхьэмкӀэ къэбгъэлъагъуэн хуейщ, уи гъащӀэм къыхэщын хуейщ». Алыхьым апхуэдэхэм ящыщ дищӀ!

Читайте также:

      

  • Что такое усердие сочинение
  •   

  • Как писать 11 сочинение по литературе егэ
  •   

  • Сочинение корень учения горек да плод его сладок
  •   

  • Чичиков и приобретатели наших дней сочинение
  •   

  • Сочинение о пользе деревьев

Литература

65

и хабзэ нэхъ иныр — адыгэбзэ жы1энырат — мыр ик1и псалъэт, ик1и хабзэт, ик1и тхьэлъэ1ут. Нало З. «бзэр псалъэ квудейквыш» жыхуи1араш. Алим и зы тхыгъэ шыже1э: «Анэдэлъхубзэмрэ адыгэ хабзэмрэ хъэдзитГу зы нэм ис ху-эдэщ, апхуэдизк1э з/зк1эрыпщ1ащи. Нт1э, хабзэмрэ нэмысымрэ 1эш1ыб тш1амэ, з^ыгуэрым къытпиубыду тш1акъым. маш1э-маш1эурэ т1эш1эк1ауэ араш»:

Жэщыр зыгъэдахэр мазэрщ, Мэзыр зыгъэдахэр бзущ. Губгъуэм и дахэгъуэр гъатхэщ, Гъуэгур зыгъэдахэр псыщ.

Пщащэр зыгъэдахэр фащэрщ,

Зи псэ зыгъэдахэр гуак1уэщ,

Гъащ1эр зыгъэдахэр хабзэщ,

Фызыр зыгъэдахэр л1ырщ, — жи1эгъаи усак1уэм.

Къэдгъэсэбэпа литературэр:

1. Юыщокъуэ А. Щхьэлыкъуэ. — Налшык: Эльбрус — 2001.

2. Юъщокъуэ А. «Лъэпкъ жыг» // Адыгэ псалъэ. — 2003. январым и 29.

3. Юъщокъуэ А. Тхыгъэхэр томихым шызэхуэхьэсауэ: 2004-2007. -Налшык: Эльбрус. 2004 — 2007.

4. Кешоков А. Вид с белой горы. (Автобиографическая повесть и литературно-критические статьи). — М., Совеременник. 1974.

5. Дементьев В. Кавказская тетрадь. — М., 1989.

ПРОБЛЕМА ОТВЕТСТВЕННОСТИ ЧЕЛОВЕКА ЗА СВОЮ СУДЬБУ В РАССКАЗАХ АЛИМА КЕШОКОВА1

© Бакова З.Х.*, Кунижева М.З.*

Кабардино-Балкарский государственный университет им. Х.М. Бербекова,

г. Нальчик

Щам къик1ыу тхылъхэр сэ къысхуатх, Ныбжьэгъу сэламк1э къысщыгугъыу. Къуэшыгъэ л1ык1уэу а тхылъ напэм Сыкъоджэ, 1ит1к1э быдэу с1ыгъыу.

Юышокъуэ Алим

Юъщокъуэ Алим и творчествэр джыным, абы къик1уа гъуэгуанэр убзы-хуным, ш1алэгъуалэм бгъэдэлъхьэн^тм мыхьэнэшхуэ дыдэ и1эш. Ар сыту

1 Статья подготовлена на одном из государственных языков РФ — кабардинском.

* Профессор кафедры Литературы и фольклора народов Северного Кавказа, доктор филологических наук.

* Магистрант.

жып1эмэ, иужьрей илъэс 200-м ди лъэпкъым и щхьэм кърик1уар, нобэрей махуэм къэсын ипэк1э бэлыхьрэ хьэзабу ц1ыхухэм я псэм телъар, гуф1эгъу-эрэ насыпу къапкърыхьар апхуэдизу художественнэу къи1уэтащи, тхыдэ тхуэхъуащ и тхылъхэр. Къинэмыщ1, ди творческэ щ1эныгъэрылажьхэм я зэхэщ1ык1ымрэ я зэф1эк1ымрэ зэрызиужьа щ1ык1эм щыгъуазэ бэлыхьу зрип-щ1ыфынущ ахэр щ1эбджык1мэ, абыи и закъуэкъым — ари мымащЬми, ат1э абык1э ди литературэ псом щек1уэк1а 1уэхугьуэ нэхьыщхьэхэми дато1эбэж, тхак1уэ-усак1уэ дызытепсэлъыхьым и дуней еплъык1эмрэ (художественнэм имызакъуэу) и тхэк1э зихуэдэ щымы1эмрэ япыщ1ауэ.

Проблемэ куэд темэ ищ1ащ К1ыщокъуэм, ауэ нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ зритахэм ящыщщ хамэщ1хэр псэуп1э зыхуэхъуа адыгэхэр. Ахэм я 1уэхур усэбзэк1и, прозэк1и къи1уэтащ — ар тхак1уэм и темэ нэхъ жан дыдэу жып1э-ми, ущыуэнукъым. Уэсяту лъэпкъым къыхуигъэнахэми ящыщщ хамэщ1хэм щыпсэу адыгэхэр хэкум къешэл1эжыныр. Къешэл1эжыпа мыхъуми, ахэр мыгъэк1уэдыныр — хэкум и нэ1э ятетыныр, я 1уэху, я дэлъ зы1утыр ищ1эныр, я бзэр — адыгэбзэр яф1эмык1уэдын щхьэк1э лъэбакъуэ лей ичыныр, ахэм я 1уэхум и нэхъ хьэлъэр, нэхьыбэр хэкум къи1этыныр. И тхыгъэхэми куэду къыхэщащ хамэщ1хэм къыщыхута адыгэхэм я псэук1эр, я дуней тетык1эр. Мыбдеж мащ1эу дыкъыщытеувы1энщ ахэм ящыщ гуэрхэм.

Уи лъэпкъи уи 1ыхьлыи, уи ныбжьэгъуи уи жэрэгъуи здэщымы1э хамэ щ1ып1эм уи закъуэу ущыпсэуным гуауэшхуэ къызэрихьынк1э хъунум теуху-ащ К1ыщокъуэ Алим и «Лэчымэ» хъыбарыр.

«Алыхьым къыдит увы1эп1эр зэдгъэзэгъынщ». Мы 1уэху бгъэдыхьэк1эм узыхуишэнк1э хъунур пхреш мы рассказым гхак1уэм. Алыхьым къыуипэсар къэпщгэн хуэмейуэ аракъым, ипэ иг хъыбарым деж зэрыщыжыт1ащи, уэ пхузэф1эк1ри пщ1эн хуейщ, нэруф1ыц1щхьэрыуэуэ, къыпхуагъэлъагъуэ псом дэплъеин хуейкъым. Нобэ ди лъэпкъэгъухэм, псом хуэмыдэу Сирием къы-щыхъуа маф1э лыгъэ зауэм кърихужьэжа ди Цыхухэм яхуэгъэза хуэдэу тхащ хъыбарыр. Къэхъунур къищ1а хуэдэг Алим, мыр щызэхилъхьэм. Хэт персо-нажхэр зыщыщыр, 1уэхур къыщыхъуар Сириеращ.

Сыт мы хъыбарым и джэлэсыр, сыт хуэдэ гупсысэра гум имык1ыжу къанэр? Сыт хуэдэ зэманми, ц1ыхухэр 1эпхъуэу щытащ, 1ыхьэ нэхъыф1, нэхъ тынш къэлъыхъуэныр езы ц1ыхум и хабзэу къыдок1уэк1. 1уэхур здэщы1эр нэгъуэщ1щ, и пэжып1эр хэт ищ1эн, ауэ уи лъэпкъэгъу — уи бзэ зы1урылъ, уи хабзэ зезыхьэ ц1ыхухэм пэ1эщ1э дыдэ зыпщ1 хъуркъым. Укъыщалъхуа уи щ1ып1эм псэм нэхъ зыщиужьу къыщ1эк1ынщ, дауик1, ауэ 1эмалыншагъэк1э ц1ыхухэр 1эпхъуэн хуей мэхъу, я псэук1эр ирагъэф1эк1уэн папщ1э. Мыр 1уэху дахэ зыхуэхъуи щы1эщ, хэк1уадэри нэхъыбэжщ. Ауэ хьэкъыр зыщ — нэхъы-бэм я 1эпхъуэныр къызыхэк1ыр тхьэмыщк1агъэщ, я 1уэху зэхуэмыхъурщ. Хъыбарым къыхэщыщ персонажхэми аращ къащыщ1ар. Иджыпстуи ди лъэпкъри, нэгъуэщ1хэри мыпхуэдэ 1уэху хэхуахэщ. Хэт зауэм кърихужьащ, хэти я псэук1эр ирагъэф1эк1уэн гугъэ я1эу губгъуэм ихьахэщ.

Литepaтypa

67

Mil xъыбapыp икъyкIэ йозэгъ ди зэмaным — къыпщыщIынкIэ xъyнyp, узькэдэжынур, yIэбэм узылъэмыЬсыжынур — axэpщ дызэxигъaплъэp Kibi-щокъуэм. Щxьэж къыxиxынy гъуэгумкИэ xyитыжщ, ayэ, aRropi^ зэpиxaбзэy, зыми къькуримыджэу, иpeIyэкI и щxьэм кърийуэнкЬ xъyнyp — «иджы IэфpaкIэм содзэкъэж» жиIэгъaи.

Нэ^ыф^ псэун я гугъэу Исуф, и щxьэгьyсэмpэ ипxъy зaкъyэмpэ зыщ]-игъури, Амepикэм eжьaщ. Ауэ a къэpaлым щызeкIyэ xaбзэ мыxъyмыщIэxэм ипxъy Нaзифэ ялъaxъэpи xьэбыpшыбыpy дэyвэжaщ, ap и гум тeмыxyэy и п^-yp зyбэpэжьa Исуфи ягьэтIысaш. Иджыри Амepикэм къыщыIэпxъya къyдeйм Нaзифэ и aнэ Mapиaм и гум зэрияуэу жэщкЬ e^robi^^: «Щькуи иpexъy, xьeyaни иpexъy псэ зы!утыр, ^am^B зиЪр и лъэпкъэгъум, къызыxэкIaм жэ-тыжмэ, зыxyeй eгьyэт, лъaбжьэp eгъэбыдэ. Удз гьэгьa къyдeйp къaщгэ: зькэт щ]ым зэрькэту eзым xyэдэ зэрымыт щIьшaльэм пxьыpэ щькэбгъэувэмэ, зиу-жьу жылэ къыпыкЬшукъым, дaxэy къэгьэгьaми, и тxьэмпэp пылъэлъыжынурэ йуэдыжынущ. Абы xyэдэ мыxьyaщэpэт си xъы1джэбз зaкъyэp» [4, 397]. Зэ-рыжиЪ дыдэм xyэдэyи къыxyщIэкIaщ и бын зaкъyэp. И лъэпкъым xэтыжaтэ-мэ, xaбзэ дaxэм и жьгуэм щIэтыжaтэмэ, нэгъуэш! гуэру xъyнy къыщЬкЬшт и гьaщIэp. Ауэ мькэр IэмaлыншэкIэ тIэypэ-щэpэ Iэпxъyaxэм ящыщщ. Лъэпкъым льaпсэpыxыp къыxyэзгъэкIya Уpыс-Kaвкaз зэуэм иужь ТыркумкЬ Iэпxъyaxэщ къэзыльxyaxэp, aбы и IэпxъyкIxэpи Джoлaныp (Cиpиe) псэупЪ яxyэxъyaш зэ-мaн m^xiMa^fe я быжэм. Абы щыгъуэм къaлэм дэсри aбы пэгъунэгъу ^ya-жищым дэсым и нэ^ыбийри эдыгэт, мы щIынaлъэм муслъимэным дaxэсy дыпсэунщ, жaIэy къитIысxьayэ. АдэкЬ, fepaKrtbrn xэкyp иубыдын щькъум, жылэм зыкъaIэтy xyeжьaщ: «Ди лъэпкъэгъу Щaм щыЪщи, ^m^aR^, мыбы журтым дaxэсy щыпсэya ^i^y^^im», — жaIэpи. Абдeжщ къы1ггы1гг1ит>,эр x^fepbip. Faœrasbip aш’opым щитxap 90 гьэxэpaщ. Абы щыгъуэ гуэ игу къэйыу къ^хщГэкТ^хнтэкъ^хм Алим, Cиpиep псэупЪ зыxyэxъya и лъэпкъэгъу-xэм eщaнэ Iэпxъyэгьyэp къaxyэкIyэy, здыpaxya xэкyжьымкIэ ягур к^^жиу. Ашуэдиз Iэпxъyэным льaбжьэ yигъэгъэтIылькъым, льaпсэ уигъэщ!къым.

Хмурым yкъыщeджэкIэ, зaнщIэy уи гум xbx^y ди щIaлэгъyaлэми, тIэкIy нэxъыжьыIyэxэми ^arnimIa^ иджыри къaпэщылъым ypeгъэгyпсыс. Дылэжьыгъэншэщ, дылэжьaпIэншэщ жaIэpи axэp ди къэpaлыгъyэм и нэxъ къaлэшxyэxэм Iэпxъyaxэщ — мылъку зэxyaxьэсын, axъшэ зэгъусэ гуэр ^a-лэжьын мypaдкIэ. KъызэxъyлIaи щыЬу къыщГэкПынщ, ayэ я нэxъыбэм я !уэ-xyp xъыбapым къькэщыщ Исуф и щxьэм къpикIyaм xyэдэщ. Узыxaxыжкъ-ым, зaкъыxyэIэтыжкъым ди цIыxyxэм. Апxyэдизy уи лъэпкъым пэЬэщЪ зып-щГ xъyнyкъым, сыту жыпЬмэ ap къыпфIэмыIyэxyжy и гузэвэгъуэр уи мыгу-зэвэгъуэу, и гуф!эгъуэр уи мыгyфIэгъyэy мэxъy. НэгъyэщIыпIэм дeж уи xaб-зэри къыщумыгъэсэбэпкЬ, apи xyэм — xyэмypэ ^forn^x^ Mис axэpaш къы-бapым и лъaбжьэм щЬлъыр. Узэгупсысыныр куэдщ.

Исуф и yнaгъyэp зэpыxэкIyэдэжap уи жaгъyэ мькъуу къaнэpкъым. Ауэ зыри зaxyэy къькэщкъым xъыбapым. Адэм пxъyм и щытыкНэр идэнкIэ Ьэ-мaл и!этэкъым. АбыкИэ ap бгьэкъyaншэ xъyнy къыщЬкТынкъым. Анэм ap

зэридар гуры1уэгъуэ дыдэу щыткъым. Сыт хуэдизу унагъуэм ис ц1ыхухъур къэгубжьу, ц1ыхубзит1ым яф1эмынами, ар уэрамым къыщ1ыданэн 1уэхум хэлъакъым. Мыбдей абы къыщыщ1ам и 1эр къимы1этын, къимыгъэгубжьын лъэк1ынутэкъым. Ауэ апхуэдэ дыдэу зыхимыгъэк1уэдэжу унафэ гуэр и унагъуэм хилъхьэн хуеящ адыгэл1ым. Абык1э ар дгъэзахуэркъым. Мис аращ уи лъапсэ уимысыжмэ, уи лъэпкъ ухэмысыжмэ. Гъащ1эр апхуэдэщ — гузэвэгъ-уэ ухэхуэк1э хамэр дэ1эпыкъуэгъу къыпхуэхъуну ущыгугъ хъунукъым. Адыгэхэм зэрыжа1эу, япэу зил узынур лъык1э уи благъэ — 1ыхьлыхэрщ. Ахэ-ращ тхак1уэми жи1эну зыхуеяр.

Нэгъуэщ1 рассказхэу «Анкамрэ» «Хьэщ1э лъап1эмрэ» къыщыгъэлъ-эгъуар хьэрып къэралхэм щек1уэк1а зауэхэращ. «Анками» «Хьэщ1э лъап1э-ми» хэтыр зы л1ыхъужьщ, ар хьэрып къэралым я дзэм къулыкъу щызыщ1э адыгэ щ1алэ Фэуазщ. «Анкар» шым и ц1эу аращ. Мы хъыбарар нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр ц1ыхумрэ псэущхьэмрэ я кум дэлъ зэхущытык1эрщ. Жэуа-пышхуэ зэрыщыпхьырщ Алыхьым и пащхьэ уэ къосам, зэбгъэсам щхьэк1э.

Мыдрей «Хьэщ1э лъап1эм» адыгэ щ1алэ Фэуаз л1ыгъэ нэс къыщегъ-элъагъуэ. Мыбы нэхъ сигу ирихьауэ зы пычыгъуэ къэзгъэлъэгъуэну сыху-ейт: «… Ехудийр къыттезэрыхь щыхъум, 1эщэри ц1ыхури къыдэмэщ1эк1ыр-ти, унафэ къысхуащ1ат: «Фхуэмы1ыгъыунумэ, къалэм фыкъыдэк1и, мыдэк1э фыкъэк1уатэ» — жа1эри. Сэ си 1умэт офицерхэр зыхуэсшэсри сеупщ1ат: «Мы-ращ 1этащхьэм я унафэр, дауэ тщ1ымэ нэхъыф1?» Нэхъыбит1ым унафэм ипкъ иту къалэм дэк1ын хуейуэ абы нэхъ трагъащ1эрт, арщхьэк1э сэ здакъым: «Фи пашэр сэращ, сэ сыхьэрыпу щытамэ, зыми гурыщхъуэ къытхуищ1ынутэ-къым, ауэ сэ сыадыгэщи, жа1энур фощ1э — мы къалэм бегъымбар къыщалъ-хуащ, хьэрып бегъымбарыр ехудийм хаутэ щхьэк1э, адыгэ гузэвэн жа1энщи, псори дыкъэрабгъэу ди ц1э ягъэ1унщ». Ар щыжыс1эм, зауэл1хэу аскэр ахъ-ырзэманхэр си1эти, си псалъэр къабыл ящГащ.» [4, 401]. А щапхъэмк1э лъэпкъ щ1ыхьыр, напэр и1этащ тхакТуэм.

Лъэпкъым и псэр зыхэлъыр ек1уу, художественнэ образк1э къэзыгъэлъ-эгъуэфынур л1ыгъэ узыншэрэ художественнэ зэф1эк1ышхуэрэ Алыхьым зрита хэкул1щ. Икъук1э гукъеуэщ нобэ апхуэдэ ц1ыху щэджащэхэр къызэр-ытхэмык1ыр. Ауэ псэущ Алим къигъэщ1а л1ыхъужьхэр, ахэм къапкъырык1 къарурщ ц1ыхур нэхъри иримыгъэхуэхыу зэтезы1ыгъэр.

Къэдгъэсэбэпа литературэр:

1. Бакова З. Алим Кешоков и современный литературный процесс. Учебно-методич. пособие для студентов отделения кабардинского языка и литературы. — Нальчик: Полиграфсервис и Т., 2007.

2. К1ыщокъуэ А. Хъыбархэр. — Налшык: Эльбрус, 1999.

3. Юыщокъуэ А. Щхьэлыкъуэ. — Налшык: Эльбрус, 2001.

4. Юыщокъуэ А. Тхыгъэхэр томихым щызэхуэхьэсауэ. 5 том. Хъыбархэр. — Налшык: Эльбрус, 2006.

Инфоурок


Другое

Другие методич. материалыСочинение на кабардинском языке «Хэкум и щ1ыхьыр зы ц1ыху закъуэми къе1этыф»



Скачать материал



Скачать материал

  • Сейчас обучается 412 человек из 63 регионов

  • Сейчас обучается 266 человек из 64 регионов

Найдите материал к любому уроку, указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:

6 157 019 материалов в базе

  • Выберите категорию:

  • Выберите учебник и тему

  • Выберите класс:

  • Тип материала:

    • Все материалы

    • Статьи

    • Научные работы

    • Видеоуроки

    • Презентации

    • Конспекты

    • Тесты

    • Рабочие программы

    • Другие методич. материалы

Найти материалы

Другие материалы

  • 01.12.2016
  • 2624
  • 4
  • 01.12.2016
  • 815
  • 2
  • 01.12.2016
  • 1618
  • 2
  • 01.12.2016
  • 533
  • 0
  • 01.12.2016
  • 421
  • 0
  • 01.12.2016
  • 907
  • 0
  • 01.12.2016
  • 1782
  • 3

Вам будут интересны эти курсы:

  • Курс повышения квалификации «Подростковый возраст — важнейшая фаза становления личности»

  • Курс повышения квалификации «Правовое обеспечение деятельности коммерческой организации и индивидуальных предпринимателей»

  • Курс повышения квалификации «Специфика преподавания конституционного права с учетом реализации ФГОС»

  • Курс повышения квалификации «Правовое регулирование рекламной и PR-деятельности»

  • Курс повышения квалификации «Источники финансов»

  • Курс повышения квалификации «Психодинамический подход в консультировании»

  • Курс профессиональной переподготовки «Разработка эффективной стратегии развития современного вуза»

  • Курс повышения квалификации «Мировая экономика и международные экономические отношения»

  • Курс повышения квалификации «Международные валютно-кредитные отношения»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация и управление службой рекламы и PR»

  • Курс профессиональной переподготовки «Информационная поддержка бизнес-процессов в организации»



  • Скачать материал


    • 01.12.2016


      17748
    • DOCX
      12.7 кбайт
    • 33
      скачивания
    • Оцените материал:





  • Настоящий материал опубликован пользователем Шаова Марина Хажмуридовна. Инфоурок является
    информационным посредником и предоставляет пользователям возможность размещать на сайте
    методические материалы. Всю ответственность за опубликованные материалы, содержащиеся в них
    сведения, а также за соблюдение авторских прав несут пользователи, загрузившие материал на сайт

    Если Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с
    сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.

    Удалить материал

  • Шаова Марина Хажмуридовна

    • На сайте: 6 лет и 3 месяца
    • Подписчики: 0
    • Всего просмотров: 26324
    • Всего материалов:

      5

Урок – зэ1уха

C:Usersкомп5Desktop11020131366.jpg

Темэ: «Пасэ  зэманым  адыгэ  ц1ыхубзым и  образыр  Щоджэнц1ык1у   Алий   и «Мадинэ» поэмэм    къызэрыщыгъэлъэгъуар »

  МКОУ  » ООШ  №4 Г.П.Терек»   адыгэбзэмрэ   адыгэ  литературэмрэ   и   егъэджак1уэ       Мамий  Альбинэ.

Аннотация

Учитель:Мамиева Альбина Артуровна.

Урок: Кабардинская литература.

Дата проведения: 06.02.2015год.

Место проведения: МКОУ ООШ №4 ГП Терек, 9класс.

Тип урока: Подготовка к сочинению.

Цель урока: Активизация учебной и творческой деятельности учащихся средствами литературы, народного фольклора музыки, искусства, обеспечение обще культурного и музыкального развития путем постижения народных традиций.

Задачи:

1. Организовать повторение и закрепление по теме: «Пасэзэманымадыгэ ц1ыхубзым и образыр Щоджэнц1ык1у Алий и «Мадинэ» поэмэмкъызэрыщыгъэлъэгъуар».

2. Развитие эстетического вкуса учащихся. Способствовать развитию интеллектуальных умений и навыков, диалектического мышления, памяти.

3. Способствовать мыслить, осознавать и доказывать мнение, не забывая своих традиций, воспитывать любовь к искусству горцев, музыке, к родной литературе, к народной музыке. Выбор структуры урока был сделан соответственно типу урока.

Этапы урока

1. Организационный (приветствие, сообщения темы урока, задач на уроке).

2. Этап проверки домашнего задания.

3. Подготовка учащихся к работе на основном этапе.

4. Основной этап.

5. Закрепление.

6. Подведение итогов.

7.Домашнее задание.

На уроке использованы следующие методы обучения: поисковые, исследовательские. Методы контроля: устные, письменные, групповые, индивидуальные.

Всю работу на уроке я спланировала, учитывая психологические и возрастные особенности класса и рекомендации психолога школы.

На первом этапе прозвучало приветствие, сообщение темы урока и задач на урок.

На следующем этапе учащиеся провели поисково-исследовательскую работу. Продемонстрировали любовь к музыке, к искусству, к литературе, к обычаям и традициям адыгского народа. Содержание урока способствует всестороннему развитию личности.

На основном этапе учащиеся полностью раскрыли тему сочинения: «Образ адыгской женщины в поэме Алий  Шогенцукова «Мадина»».Выяснилось, что учащиеся в основном правильно отнеслись к идее поэмы.

Бзэм  зезыгъэужь   урок

Мурадыр:1. Адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэныр Мадинэ и образым  къызэрыхэщыр.

2. Пасэ  зэманым псэуа  адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ нобэрей адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ зэгъэпщэн.      3.Еджак1уэхэм я гупсысэр тэмэму зык1элъахьыфу гъэсэным елэжьын.

Къехьэл1апхъэхэр: «Мадинэ» оперэм и пычыгъуэ . Поэмэм ехьэл1ауэ еджак1уэхэм ящ1а сурэтхэр. Адыгэ ц1ыхубзым, адыгэхабзэм ехьэл1а тхыгъэхэр зэрыт тхылъхэр, презентацэ, компьютер, проектор.

Эпиграф:

Ц1ыхубзыр гъащ1эм и дыгъэщ, ц1ыхубзыр дунейм и мазэщ.

АгънокъуэЛашэ./

 I.Урокымхуэгъэхьэзырын

Егъ.:Фи махуэ ф1ыуэ!

Едж.: Нэхъыф1ыжу!

Егъ.: Фыт1ыс. Дэ нобэ оперэм щыщ 1ыхьэ дедэ1уэнущи, къэфщ1эну п1эрэ ар?  Къардэн Хьэсэн и «Мадинэ» оперэм щыщ 1ыхьэ Мадинэ и арием егъэдэ1уэн.

Егъ.:Мы фызэдэ1уа произведенэм хэт  щыгъуазэ? Сыт хуэдэ оперэм щыщ мы пычыгъуэр? Сыт хуэдэ художественнэ тхыгъэм тращ1ык1ыжа мы тхыгъэр?

Едж.: Мы произведенэр       Къардэн      Хьэсэн и «Мадинэ» оперэм   щыщщ.  Мадинэ и ариещ.

Eгъ.:Хэт ар зыгъэзащ1эр?

Едж.:Бэгъэтыжь  Светэщ.

5-нэ слайдыр  къэгъэлъэгъуэн.

Къэхутэныгъэ  лэжьыгъэ. Презентацэ еджак1уэхэм ящ1ын.

5-слайд.

Бэгъэтыжь Светэ- уэрэджы1ак1уэ  1эзэщ. Къэбэрдей — Балъкъэрым и щ1ыхь зи1э уэрэджы1ак1уэщ.

Егъ.: Сыт хуэдэ  гупсысэхэр къытхуигъэушрэ  мы  пычыгъуэм дыщеда1уэк1э?

Егъ.: Гук1э зэхэфщ1ауэ п1эрэ поэмэм и пычыгъуэмрэ   макъамэм и зэпыщ1эныгъэмрэ?

Едж.: Мадинэ поэмэм  макъамэ гуак1уэ, къулей щ1элъым къыхэк1к1э къыщ1эк1ынщ, Къардэн  Хьэсэн  къыщ1игъэсэбэпар а поэмэр ик1и аращ «Мадинэ» ф1эщ1ыгъэц1эр  щ1ритар.

3-4 слайдхэр къэгъэлъэгъуэн. Къэхутэныгъэ  лэжьыгъэ. Еджак1уэхэм   презентацэ ящ1ын.

3-слайд.

Къардэн Хьэсэн къэгъэлъэгъуэн. Къардэн Хьэсэн Къэбэрдей-Балъкъэрым и композитор ц1эры1уэщ. Ар февралым и т1ощ1рэ щым Шэджэм езанэкъуажэм 1923 гъэм  къыщалъхуащ. Ленинград дэт  консерваториер  къиухащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гимнырзыхилъхьащ.

4-слайд.

Абы оперэ зыбжанэ  итхащ. «Мадинэ» и мызакъуэу абы итхащ «Къамботрэ Лацэрэ» оперэри, «Мыщэ и къуэ Батыр», нэгъуэщ1 1эджи. Оперэр япэдыдэу 1970 гъэм театрым къыщагъэлъэгъуауэ щытащ.

Егъ.: Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ  театрым  щагъэувауэ  щытащ  спектакл.Феплъамэ,хэтсымэ л1ыхъужь нэхъыщхьэхэм я ролхэр зыгъэзэщ1ар? Фц1ыхуу п1эрэт ахэр?

Едж.:Мадинэ и ролыр игъэзэщ1ащ  Бэгъэтыжь Светэ.Заур и ролыр игъэзэщ1ащ Жылокъуэ  Мухьэмэдин.

«Мадинэ» и ариер    игъэзэщ1ащ ди  лъэпкъ   уэрэджы1ак1уэ  нэхъыф1 дыдэхэм  ящыщ  зым-Бэгъэтыжь  Светэ .

Егъ.:Ц1ыхубзым и  образыр къыхэщу сытхуэдэ тхыгъэ Щоджэнц1ык1у Алий и  1эдакъэм  къыщ1эк1ар? «Мадинэ» и закъуэкъым тхак1уэм къигъэщ1а образыр. Дигу къэдгъэк1ыжынщ «Щ1ымахуэ жэщым» къыхэщ  фызабэ тхьэмыщк1эр.

Едж.: Ц1ыхубзым пщ1эи щхьэи имы1эу зэрыщытыр «Щ1ымахуэ жэщым» къыхощыж.

Егъ.:Мис  зы нэгъуэщ1  тхыгъи «Тек1 бжэщхьэ1ум».

Егъ.:Сыт хуэдэ  хьэл-щэнхэр   къыхэщрэ мы тхыгъэми?

Едж.: Ц1ыхубзым хьэм   хуэдэу   зэрыхущытар, пщ1э зэримы1ар.

Егъ.:Адыгэ  ц1ыхубзым и образ зэмыл1эужьыгъуэхэр къыщызэригъэпэщащ Щоджэнц1ык1у Алий ди литературэм. Дэ ди  къалэнщ абы итха тхыгъэхэм щыгъуазэ зытщ1ыну, абыхэм пщ1э яхуэтщ1ыну. Абы къыхэк1ыуи урокым дэ нобэ  къыщызэдгъэпэщащ Щоджэнц1ык1у Алилй и тхыгъэхэм  теухуа  тхылъ (выставкэ). Мыбы  фэ  щыгъуазэ щызыхуэфщ1ыфынущ тхак1уэм и гъащ1э гъуэгуанэм,  абы итха тхыгъэхэр  зытеухуа 1уэхугъуэхэм. Гъащ1эм и дахагъэр   зыхэфщ1эфу фыхуэзыгъэсэн  куэди   къыхэфхынущ.

Егъ.:Щоджэнц1ык1у Алий Мадинэ и образыр  телыджэу къигъэлъэгъуащ.  Унэм  щывгъэхьэзыра  Мадинэ и сурэтхэм  фытхутепсэлъыхь.

II.Унэ  лэжьыгъэр

Едж. сурэтхэм топсэлъыхь. Мы сурэтым  сэ   къыщызгъэлъэгъуащ  адыгэ ц1ыхубзым и дахагъэр, и къабзагъэр.

Едж.:Мадинэ1эсэщ, сабырщ, хьэл-щэндахэ  хэлъщ.

Егъ.:Хъарзынэу  фи  сурэтхэм  фытхутепсэлъыхьащ.

Егъ.: Искусствэри, живописри, литературэри- ахэр псори ц1ыхум игупсысэр  къызэра1уатэ 1эмалщ. Ди Хэкумсурэтыщ1 1эзэ куэд исщ. Абыхэм  ятеухуа фэ  вгъэхьэзыра лэжьыгъэхэмфыкъытхуеджэ.

Ет1уанэ гупым я къэхутэныгъэ  лэжьыгъэ.  Презентацэ.

7-8 слайдхэркъэгъэлъэгъуэн.

7-слайд.

Дуней псом щыц1эры1уэ, сурэтыщ1 1эзэ — К1ыщ Мухьэдинщ. Абы и 1эщэр дахагъэм  хуэгъэзащ. Ат1э, «К1ыщ» унэц1эм къызэрытхуи1уатэщи, абы къок1 «1эзагъэ».1эпэм къыпык1 искусствэр зыгъэлажьэ, зыгъэпсалъэ. К1ыщ Мухьэдин и унэц1эр егъэпэж.

8-слайд.

Сурэтыщ1 К1ыщ Мухьэдин тепсэлъыхьын. К1ыщ Мухьэдин сурэтыщ1 1эзэщ. Абы и лэжьыгъэхэр  дуней псом щыц1эры1уэщ. Ар Шэджэм къуажэм 1939 гъэм къыщалъхуащ. Ленинград дэт университетыр  къиухащ. 1973 гъэм тхак1уэхэм я союзым хагъэ хьащ.   Абы Мадинэ и сурэтыр ищ1ащ.

Егъ.: Аращи, гуры1уэгъуэ хъуауэ къыщ1эк1ынщ Щоджэнц1ык1у Алийи поэмэм и темэ  нэхъыщхьэр.Мурадыр.

1-2слайдхэр  къэгъэлъэгъуэн

1-слайд.

Темэ: «Пасэ  зэманым  адыгэ  ц1ыхубзым и образыр Щоджэнц1ык1у   Алийи «Мадинэ» поэмэм  къызэрыщыгъэлъэгъуар.

2-слайд

Мурадыр:

1. Адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнырМадинэ и образым  къызэрыхэщыр.

2. Пасэ зэманым псэу аадыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ нобэрей ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ  зэгъэпщэн.

3. Еджак1уэхэм я гупсысэр  тэмэму зык1элъахьыфу гъэсэным елэжьын.

III. Урокым и 1ыхьэ нэхъыщхьэм  хуэгъэхьэзырын

9-слайд  къэгъэлъэгъуэн. Зэрызэпкърах упщ1эхэр.

1. Адыгэ ц1ыхубзыр хэт и образымк1э поэмэм къыщыгъэлъэгъуа  ик1и сыт  хуэдэу   къэгъэлъэгъуа?

2. Адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэн   удэзыхьэхыу Мадинэ  хэлъыр сыт?

3. Мадинэ насыпыф1э хъуным  хэт  сымэ  зэран   къыхуэхъуар?

4. Гъащ1эм щек1уэк1 залымыгъэм  хуэдэ 1эмалхэмк1э пэуврэМадинэ?

5.Сыт абы хузэф1эк1ар?

6. Мадинэ и образыр сыт щ1элъап1эр?

Егъ: Дауэ   иухрэ  поэмэр?

Едж:Мадинэ   Пылыжь  Джэрий док1уэ. Ар насыпыншэмэхъу. И къуэ закъуэр ц1ыхубз уэчыл  хъуну  щогугъу. Мадинэ апхуэдэ гъащ1эмк1э арэзыкъым. Ар зэныкъуэкъужурэ  сымаджэ   мэхъури мал1э.

Егъ:Мадинэ зыхэпсэук1а зэманыр игъащ1эм сытк1э зэранхуъхъуа?

Едж: Вывод.  Феодализмэр  трахыжа щхьэк1э къэмынэу, а зэманым псори зи 1эмыщ1э илъу щытахэр мылъку зыбгъэдэлъхэмрэ къулейхэмрэт.

Егъ: Пасэ зэманым псэуа адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэным рэнобэрей ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ  зэщхьу п1эрэ? Зэдывгъапщэт.  Едж:Ди зэманым ц1ыхубзыр щхьэхуит  хъуащ, я пcэук1эри нэхътынш  хъуащ.

Егъ:Фэ  зыхэфлъхьа ,вгъэхьэзыра планхэм фыкъытхуеджэ. Сэ фхуэзгъэхьэзыра планым едывгъэлъытыт. Сыт хуэдэ  гупсысэхэм, гукъэк1хэм дыхуишэрэ Щоджэнц1ык1у Алийи «Мадинэ» поэмэм?

Едж.къоджэр.

IV.Урокым и 1ыхьэ нэхъыщхьэр. Тест лэжьыгъэ

10. Слайдк1э къэпщытэн

1.б

2.а

3.б

4.в

5.б

6.в, г, д

7. а, в, г

8.б, в

9. а

10. б

Тест лэжьыгъэ

1.Щоджэнц1ык1у Алий  къалъхуащ:

А.1975 гъ.

Б.1900 гъ.

В.1908 гъ.

2.Щоджэнц1ык1у Алий:

А. Усак1уэщ.

Б. Драматургщ.

В. Артистщ.

3.Щоджэнц1ык1уАлийи «Мадинэ» тхыгъэр:

А. Романщ.

Б. Поэмэщ.

С. Рассказщ.

4. «Мадинэ  тхыгъэм усак1уэм къыщигъэлъэгъуэжар:

А. Дызэрыт  зэманырщ.

Б. Хэку  зауэшхуэм и зэманырщ.

В. Къэбэрдейр  феодальнэ псэук1эм щимытыжа  лъэхъэнэрщ.

5.Щоджэнц1ык1у   Алийи «Мадинэ»тхыгъэм   къыщыгъэлъэгъуар:

А. Пасэ  зэманым ц1ыхубзхэр щхьэхуиту   зэрыщытар.

Б. Пасэ  зэманым   адыгэ  ц1ыхубзыр гугъу  ехьу, пщыл1ып1эр  трахыжа  нэужьи я щхьэ   хуимыту    зэрыщытар.

6.Гурымыхь   образхэр:

А.Умар.

Б.Заур.

В.Пылыжь  Джэрий.

Г.Къасым.

Д.Молэ.

7.Гурыхь   образхэр:

А.Мадинэ.

Б.Пылыжь  Джэрий.

В. Дадусэ.

Г. Заур.

Д. Щ1алэ ц1ык1ур.

8.Хэт  сымэ   Мадинэ и насыпым  зэран   хуэхъуар?

А.Дадусэ.

Б.Къасым.

В.Пылыжь  Джэрий.

9.Сыт къызыхэк1ар Умар ф1ы дыдэу   илъагъу и пхъур абы ф1ыуэ илъагъуа щ1алэр къигъанэу нэгъуэщ1ым иритыныр?

А. Абы къыщыхъурт и пхъур  мылъкум   хэсмэ, и 1уэхур нэхъ дэк1ыну.

Б. Тхьэмыщк1эм и пхъур иритмэ, абы къыф1эщ1ырт Мадинэнасыпыншэ хъуну.

10.Мадинэ  игъащ1эмк1э  арэзы?

А.  Арэзыщ.

Б. Бэнэныгъэр   къигъанэркъым, ар   зэныкъуэкъужурэ,  узыфэ  бзаджэр  къыпкърохьэри   мал1э.

11-слайдыр  къэгъэлъэгъуэн.Сочиненэм  и  план.

1. Адыгэ  ц1ыхубзым  ехьэл1а  хьэл-щэнхэр.

2. Мадинэ  и  образым  ахэр   зэрепхар.

3. Гъащ1эм щек1уэк1 залымыгъэм  адыгэ ц1ыхубзыр зэрыпэувыр Щоджэнц1ык1ум къызэригъэлъэгъуар.

4.Гъащ1эм и щхьэгъэщхь         зыхуищ1ыным      ,адыгэ ц1ыхубзым и образым  зыужьыныгъэ   ирет. Ар хабзэ мыхъумыщ1эм и щхьэузыхьщ.

5.Сыт хуэдэ зэман  хэмыпсэухьами  адыгэ ц1ыхубым хэлъын хуей хьэл-щэн   нэхъыщхьэхэр.

12-слайдыр  къэгъэлъэгъуэн. Сочиненэм и къыщ1эдзап1эхэр.

1. Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэ нэхъыф1хэм ящыщщ…

2.Адыгэ ц1ыхубз! Сыту пщ1эшхуэ уи1э, сыту тхак1уэ куэд  птетхыхьа, сыту тхыдэ  хьэлэмэти уи1э…  …»Динэ и псалъэхэм…

Сочиненэм и 1ыхьэ нэхъыщхьэ.

  1. Мадинэ и теплъэр.
  2. Мадинэ и хьэл-щэныр.
  3. Мадинэ и анэм  зэрыхущытыр.
  4. Мадинэрэ   Зауррэ я зэхущытык1эр.
  5. Мадинэ и насыпым   зэран   хуэхъухэр: Пылыжь Джэрий, Къасым.

Егъ:Сочиненэм и к1эухри зэмыл1эужьыгъуэщ.

1.Мадинэ  поэмэм  сигу къигъэк1  гупсысэхэр…

2.Сэ  мытемэр   къыщ1ыхэсхар…

Егъ.: Эпиграф вгъэхьэзырахэм    фыкъытхуеджэ. (Эпиграфхэмкърегъаджэ). [4:174]

1.Ф1ыгъуэм щыгугъыу дыгъэнэбзийр, унэ бы1уэбышэм дахэр щыгъагъэт. Гъагъэу  щыт  пэтми и гъащ1эр хьэлъэт…

УэхъутэАбдулыхь.

2.Ди щ1алэгъуалэм фщыремыгъупщэ:черкесс унагъуэм  пщащэ къихъуэным, унэм кърихьэр гу1эгъуэ инт, я адэ-анэм къуэяф1эл1амэ,  гу1эгъуэу къихьым  хуэдизу   хьэлъэт.

УэхъутэАбдулыхь.

3.Дэнэ ар,адыгэ ц1ыхубзыр, щыхуеджэр,сыт абы и гупсысэмзызыдиужьыр? Зыщ1ып1и щеджэркъым ар.

Абы и дунейр дыщэ 1уданэк1э хидык1 тхыпхъэщ1ыпхъэм деж щеух:и пщэдейхэм адэри  анэри егупсысыркъым

Уэхъутэ   Абдулыхь.

Егъ.: Сочиненэр щыфтхк1э чэнджэщхэр  зыщывмыгъэгъупщэ.

13- слайдыр  къэгъэлъэгъуэн. Чэнджэщхэр.

2.Щыптхк1э щ1эх-щ1эхыурэ къэпщытэжын хуейщ: мык1уэдауэ п1эрэ темэр, къыхэщу п1эрэ гупсысэ нэхъыщхьэр, псори пхузэф1эк1ауэ   п1эрэ   гупсысэр  гунэс пщ1ыну?

Сочиненэ   тхыныр  теоремэр  ди ф1эщ пщ1ым ещхьщ.

3. Зыри умыгъэк1эщ1, скобкэхэр  къэгъэсэбэп, «хъэт1ыр щыдахэр къыщеджэгъуаф1эрщ».

V.Темэр егъэбыдыл1эн .Гупк1эрэ сочиненэм и пкъыгъуэхэм елэжьа  сабийхэм я лэжьыгъэр  къэпщытэжын

Планыр  зэрыт  слайдыр  къэгъэлъэгъуэжын.

VI. Урокыр къызыщ1экъуэжын

14-слайдыр къэгъэлъэгъуэн.

Сочиненэм  унэм  щелэжьыжын.

VII.Унэлэ  жьыгъэр  етын

Сочиненэр  нэгъэсыжын, елэжьыжын.

Егъ: Урокым хъарзынэу зыхуэвгъэхьэзыращ, презентацэ зыщ1ахэмрэ, къэхутэныгъэ  лэжьыгъэ  зыгъэхьэзырахэмрэ, сурэтхэмелэжьахэмрэ, сочиненэм и пкъыгъуэхэм  елэжьахэмрэ,  «тху» фхузогъэув. Адрейхэри хъарзынэу лэжьахэщ. Тест лэжьыгъэр зыгъэзэщ1эфахэм «пл1ы» фхузогъэув.   Щыуагъэ хэзыщ1ыхьахэм: Токъу Амиррэ  Дзэгъащтэ  Азэмэтрэ  «щы» фхузогъэув.  Урок къак1уэ ехъул1эныгъэ фи1эну псоми сынывохъуэхъу! Урокыр  иухащ. Узыншэу  фыщыт!

Выводы

На мой взгляд, урок удался. Успешному усвоению темы урока способствовало использование технических средств: (проектора, компьютера, художественно-изобразительных средств, презентации) которую сделали дети сами.

На уроке мне удалось реализовать поставленные цели и задачи. На следующем уроке продолжу работу со слабыми учащимися. Атмосфера на уроке доброжелательная, спокойная. Стараюсь общаться с детьми на уровне сотрудничества. Общение с учащимися на уровне сотрудничество даёт положительные результаты, так как ребёнок чувствует в таком общении уважительное отношение к нему как к личности.

Спасибо за внимание к моей работе.

Литературэ:

  1. « Къэбэрдей-Балъкъэрым и  композиторхэр »,Б. Темрокъуэ, нап. 8.
  2. « Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщ1хэр »,Ю. Балъкъэр, нап. 16.
  3. Журнал « 1уащхьэмахуэ »,  2014-гъэ,нап. 23.
  4. «Хужьэ и къуэладжэ», А. Уэхъутэ,  нап. 174.

12 Декабря в Музее изобразительных искусств Нальчика прошло награждение школьников за лучшее сочинение на кабардинском диалекте черкесского языка.

Конкурс, объявленный среди учащихся 9-11 классов, оказался разнообразен географически, участвовать в нем съехались 160 ребят, причем не только из нашей республики, но и из Карачаево-Черкесии, Адыгеи, Ставропольского края. Основная часть прошла в Национальной библиотеке имени Т. К. Мальбахова, где старшеклассники писали очное сочинение.

«Были предложены десять ключевых слов, из которых ребята выбирали те слова, которые они могли бы обыграть, развить и изложить в своих сочинениях. Никаких ограничений не было», —  пояснил корреспонденту РИА «Кабардино-Балкария» Мурат Табишев, руководитель ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы имени Кази Атажукина.

Он добавил, что конкурс получился интернациональным, участие в нем приняли и представители других национальностей, изучающих адыгэбзэ.

За каждое место ребята получат денежные призы, а те счастливчики, кто получил первое место в любой из четырех номинаций, решением ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы будут получать стипендию имени Кази  Атажукина в течение всего года. Помимо этого любой участник конкурса, при условии поступления на факультет черкесского языка, в течение двух лет будет получать вышеназванную стипендию.

«Объявление конкурса вызвано желанием стимулировать интерес к изучению своего языка среди подрастающего поколения. Сочинения были оригинальны каждое по-своему, умение изъяснять художественно оформленную мысль среди молодых людей радует, и если среди конкурсантов найдутся желающие поступить на факультет черкесского языка, наша миссия будет выполнена. Во время конкурса о таком желании заявили уже семь человек», — сказал Мурат Табишев.

Ассоциация имени Кази Атажукина действует уже на протяжении двух лет, выявляя талантливых подростков и поддерживая интерес к изучению родного языка.

© РИА «Кабардино-Балкария», 2014

Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.

Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.

Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.

Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.

Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?

Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.

Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.

«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.

Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.

Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .

Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…

Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.

Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…

Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.

Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.

Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:

Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,

Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…

Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.

Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.

Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».

Адэк1и щ1оупщ1э:

«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?

Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,

Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»

Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.

Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.

Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:

Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!

Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!

Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.

1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.

Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.

Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:

Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!

Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.

Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей

Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.

Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,

Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.

Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.

Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.

Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!

Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.

Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.

Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.

1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.

Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу

«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э

Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.

Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!

Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.

Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э

Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.

Понравилась статья? Поделить с друзьями:
  • Цветопись в лирике есенина сочинение
  • Худший поступок егэ
  • Ц1ыху напэр псом япэщ сочинение
  • Цветок цветоложе околоцветник генеративные органы егэ
  • Художники романтики отвергнув строгие в егэ