Цыху напэ сочинение

Обновлено: 12.03.2023

Езыгъ. -Дэтхэнэ зылъэпкъми и1эщ зы махуэ хэха и ф1ым щыгуф1ык1ыу,и ехъул1эныгъэхэр и1эту. А махуэм лъэпкъым и нэхъыжьи и нэхъыщ1и гуф1эу щызэхохьэ. Адыгэ лъэпкъми ди1эщ апхуэдэ зы махуэшхуэ. фок1адэм и 20 –р Адыгэм и махуэщ. Адыгэм и махуэр махуэ щыхъунур я нэхъыжьхэр я жьант1эу гуф1эгъуэр я1этмэщ.

Махуэшхуэр фок1адэм и 20-р адыгэм махуэшхуэу ягъэлъэп1эныр щ1ытраухуам щхьэусыгъуэ и1эщ.

-Ди адэжьхэм гъавэр къехьэл1эжын яуха нэужьт тхьэлъэ1ушхуэ ящ1у щыщытар. Илъэсыр къызэрехъул1энур ямыщ1эу джэгу яублэу щытакъым.Хуабэр блэк1ауэ,щ1ы1эр къэмысауэ,гъавэм и ныкъуэр кърахьэл1эжарэ, и ныкъуэр губгъуэ илъу,къызыхахынри я1эу гушхуэныр и чэзууэ къалъытэрти ,я хьэгъуэл1ыгъуэхэри абдежт къыщыдахыр.

Къыщынэмыщ1ауэ ,адыгэхэм я махуэр балигъэхэм я закъуэтэкъым зытещ1ыхьар. Абы 1эмал имы1эу хэтын хуейхэм ящыщщ сабийхэр А псор къалъытэри, гъэмахуэ мазэхэр блэк1ауэ, зызыгъэпсэхуахэри къек1уэл1эжауэ, къаруущ1эрэ мурадыщ1эрэ я1эу сабийри балигъри зэрызэхуэсыжыр къалъытэри фок1адэм и 20-р адыгэм и махуэу ягъэлъэп1эныр къалъытащи, ди нэхъыжьхэм дахуэхъуахъуэрэ ди нэхъыщ1эхэр щапхъэу едгъэлъагъуэу, куэдрэ псэун лъэпкъ тхьэм дищ1.

Махуэф1к1э Тхьэр зыхуэупсэм насыпым и бжэр зэ1уех,1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм пэублэ псалъэр хъуэхъум и жьант1эщи,хъуэхъуф1 зылъысын Тхьэм фищ1!
Уафэр къабзэу,щхъуант1эу
щ1ылъэр псомк1и гуак1уэу
мы дунейм тет макъхэр
ц1ыхухэм я щ1эщыгъуэу
къуалэбзу уэрэдхэр
ди щ1ылъэм итыну
дунеишхуэм и ц1ыхубэм
псалъэмакъыу къа1урык1ым
дыгъэ нур хэлъыну
нэмыплъ ц1ыхубэм зрамыту
гужьгъэжьгъхэр яку дэмылъу
хабзэр я1этрэ лъэпкъым къуэтхэу,
нэмыс ящ1рэ я щ1ыхьыр ину.

дэ абык1э дохъуахъуэ!

Езыгъэк1уэк1ым -Ц1ыху гъэсэныр сыт щыгъуи адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъ 1уэхуу, ялъытэр. Дэ ди къалэнщ лъэпкъым къыхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ц1ыху нэс къыхэтщ1ык1ыну. Ц1ыхум гъащ1эм щиубыдыну увып1эр елъытащ абы игъуэта гъэсэныгъэм.

Адыгагъэ, ц1ыхугъэ, адыгэ напэ, ек1у, емык1у жыхуэт1эхэр ф1ыуэ зэхащ1ык1ыу, я щхьэм пщ1э хуащ1ыжыфрэ загъэлъэп1эфу, я адэ-анэм, я лъэпкъым хуагъэфащэ хъунумрэ мыхъунумрэ зэхагъэк1ыфу ди сабийхэр къэгъэтэджыныр адэ-анэхэми, егъэджак1уэхэми – дэтхэнэ балигъми ди къалэн нэхъыщхьэщ.

Адыгэ хабзэм къызэщ1иубыдэ дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми езым и лъабжьэ, и къежьап1э и1эжщ. Адыгэ хабзэр къызэрыгуэк1 1уэху ц1ык1укъым.

Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар ,

Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.

Хабзэращ лъэпкъым и жьэгупащхьэр зыгъэблар,

Нэхъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумар.

Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уар,

А зыращ щ1алэм дамэ лъэщу къыхихар,

Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.

Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар

Хабзэращ нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар,

Уэ зыращ, Хабзэ, ди къэк1уэнур зыпытщ1ар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.

Ижь –ижьыж лъандэрэ ди щ1ып1эм къихьа дэтхэнэ зыри и дахагъым дехьэх,ар япэу щалъагъум пщ1ыхьэп1э дахэм хуэдэу къащохъу ик1и щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.

Езыгъ.- Ди хабзэм и фащэ нэхъыф1, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр, гъэзэщ1эныр.Адыгэр япэк1э к1уэ Нэхъыжь зэи к1элъыджэркъым. Ат1э лъэщ1охьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, ф1эхъус ирахри, ит1анэщ щеупщ1ыр.

Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр щхьэ лъап1э ихуэкъым,же1эр адыгэм.Мы псалъэжь 1ущым щ1элъыр аращи,нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1ым адыгэхэм зэи фэ ираплъу щытакъым.

Нэхъыжь блэк1ым ,сыкъоувы1э,

Зэпызупщ1ыркъым и гъуэгу,

Ар блэк1ыхук1э гъуэгу симы1э,

Хабзэм хъурэ удэджэгу.

Дади Нани я т1ысып1э

Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.

Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1э,

Яхузощ1ри пщ1э, нэмыс.

Лъэпкъым щхьэузыхь сыхухъуи!

Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.

Сощ1э ф1ыуэ ,жьы сыщыхъуи,

Згъуэтыжыныр нобэ сщ1арщ.

Ц1ыхур ц1ыхум зэхищ1ык1ым

Псоми дощ1эр – ар ц1ыхугъэщ,

Адыгагъэр – ар дахагъэщ,

Адыгагъэр – ар къабзагъэщ.

Адыгагъэр – ар пэжыгъэщ,

Адыгагъэр ди адыгэм

Адыгэпсэм ар и фащэщ,

Адыгэбзэм ар и щэнщ.

Нэхъыжьыф1хэу дади, нани ,

Гуащи, щауи, пщащэ ц1ык1уи –

Псори, псори зыгъэдахэр,

Я гуф1эгъуэхэр къэзы1этыр,

Я гугъехьыр зыгъэпсынщ1эр,

Я ц1ыху щ1ык1эу – адыгагъэрщ.

1эдэбагъщ, 1эсагъэщ, л1ыгъэщ.

Адыгагъэр – ар къарущ.

Адыгагъэр – ар ф1эл1ык1щ.

Адыгагъэр адыгэм и фэщ,

Адыгагъэр адыгэм ипкъщ,

Псэри, бзэри адыгагъэщ зейр,

Адыгагъэр адэм и псэщ…

Псэр хэк1ыжмэ ,къэнэжыр сыт.

Адыгэ хабзэр нэмысым, ц1ыхугъэм, л1ыгъэм, пэжыгъэм, ныбжьэгъугъэм , хьэщ1эм пщ1э хуэщ1ыным къыгуэх имы1эу епхащ. Ик1и а лъэп1эныгъэхэр ди лъэпкъым куэд щ1ауэ къыдогъуэгурык1уэ .Ар ди гъащ1эм и набдзэщ, ди гъащ1эм и купщ1эщ.

-Адыгагъэ,адыгэ хабзэ,нэмыс, дэтхэнэми пщ1э хуищ1у щытын хуейщ езым къыдалъхуа бзэм, и анэбзэм.Сыту жып1эмэ,бзэм и псалъэ дэтхэнэми хэпщауэ щытщ гур зыгъэгуф1э,дахагъэ 1уэхугъуэхэр уэзыгъэлэжь, ф1ым укъыхуезыджэ налъэхэр. Бзэм къаруушхуэ и1эщ щ1эблэм и гъэсэныгъэм и лъэныкъуэк1э.

Адыгэ къафэ, адыгэ къафэ

Адыгэм псэ и1эм и1эр уэращ.

Уэ уи макъамэ дуней гъэдахэм

Щ1эдэ1ум и псэм зэуэ зехъуэж.

-Адыгэ хабзэм хохьэ, адыгэ къафэри. Тэмэму, нэмыс пхэлъу утыку уитыныр.

Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зи1э къэхъукъащ1эщ.Адыгэ къафэ!Ар лъыр зыгъэжанщ,ц1ыхур зыгъэдахэщ,хьэл-щэн дахэр , ди лъэпкъым и 1эдэбагъыр,и щэныф1агъыр на1уэ къэзыщ1щ.

Езыгъ. — Ц1ыхур зэрыц1ыхур ищ1эжын щхьэк1э и хабзэм, и напэм, и лъэпкъым егупсысын хуейщ, и адэ-анэр игъэпэжу, абы яхуэфащэу, Нэхъыжьым пщ1э хуащ1у дунейм тетын хуейщ.

— Ди зэ1ущ1эр и к1эм ноблагъэ.Дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми лъабжьэ хуэхъуам хъуэхъу хужа1эж. Дэри ди гуапэу, гуми псэми къабгъэдэк1ыу дыхуейщ нобэ кърихьэл1а псоми хъуэхъук1э зыфхуэдгъэзэну.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Мастер-класс для учащихся 11 класса. Целью являлось выяснить знания учащихся по данной теме.

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ

Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.

Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ. (Нало З.)

Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ. (Нало З.)

Мастер-классым и темэр:

Мастер-классым и мурадхэр: 1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын; 2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм гъэсэныгъэ хэлъхьэн; 3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын; 4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.

Мастер-классым и мурадхэр:

1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;

2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм гъэсэныгъэ хэлъхьэн;

3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;

4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.

- Псэ къабзэ -Псы къабзэ -Пэж къабзэ - Напэ къабзэ - Уафэ къабзэ - Жьы къабзэ -Тетрадь напэ

— Псэ къабзэ

-Псы къабзэ

-Пэж къабзэ

— Напэ къабзэ

— Уафэ къабзэ

— Жьы къабзэ

-Тетрадь напэ

Урокым и эпиграфыр: Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр, Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр. Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр, Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ напэрщ. Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ, Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ. ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр, МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.

Урокым и эпиграфыр:

Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,

Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр.

Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,

Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ напэрщ.

Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,

Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ.

ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр,

МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.

Псалъэжьхэр

Псалъэжьхэр

ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр Нурыр къыщхьэщех, ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу ЛIым и хьэдэр дах. Напэ къабзэм и къабзагъэр Дыгъэ бзийм хыхьащ. Анэ псоми я быдзышэм Бынхэм хухалъхьащ.

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр

Нурыр къыщхьэщех,

ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу

ЛIым и хьэдэр дах.

Напэ къабзэм и къабзагъэр

Дыгъэ бзийм хыхьащ.

Анэ псоми я быдзышэм

Бынхэм хухалъхьащ.

Псалъэжьхэр

Псалъэжьхэр

Бзэм зегъэужьын:

Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,

къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.

Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху

Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью , Ни днем, ни ночью, никогда!

Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью , Ни днем, ни ночью, никогда!

Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, - жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей - Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм. Елгъэр Кашиф .

Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, — жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей — Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм. Елгъэр Кашиф .

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей. К1уащ Бет1ал.

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей. К1уащ Бет1ал.

« Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ

(Жылэтеж Сэлэдин)

Нажмите, чтобы узнать подробности

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр: Нало Заур теухуа гъэлъэгъуэныгъэхэр(выставкэ),усак1уэм папщ1э гъэхьэзыра видео теплъэгъуэр,презентацэхэр,псалъалъэхэр,тест лэжьыгъэхэр,сурэтк1э зэрылэжьэну 1эмэпсымэхэр.

Урокыр зэрек1уэк1ынур.

1. Пэублэ ,урокым хуэзыгъэуш дакъикъэхэр.

Егъэдж. Махуэф1к1э нобэ сыфхуоусэ,ц1ык1ухэ!Ди дерсым сыхуейт ирищ1эддзэну мы видео пычыгъуэмк1э.(Нало Заур теухуауэ Москва щрагъэк1уэк1а пшыхьым и зы пычыгъуэ доплъ).

Иджы сыхуейт къызжеф1эну-хэт ди псалъэмакъыр зыхуэгъэпсар нобэ?

Еджак1уэхэм упщ1эм и жэуапыр къа1уатэ.

Егъэджак1уэ:Пэж дыдэщ.Мы пычыгъуэм зытепсэлъыхьыр лъэпкъ литературэм зи гуащ1эр щхьэузыхь хуэзыщ1а,ц1ыхупсэм ехуэбыл1э тхыгъэ купщ1аф1эхэр зи къалэмыпэм къыщ1эк1а,псоми ф1ыуэ ялъагъу Нало Заурщ.

2.Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын

Нало Заур и 1эдакъэщ1эк1ыу дэ дызэджахэм сыт хуэдэ тхыгъэр ящыщ?-мы упщ1эр хэзышэ дощ1 унэ лэжьыгъэр къэпщытэжыным.Адэк1э едджак1уэхэр къыдопщытэж.

1) Упщ1эхэмк1э гъэлэжьэн

Егъэдж.

Доскам псори доплъ.

Доскам Нало Заур и сурэтыр ф1элъщ, итщ:

-Сытк1э пыщ1а мы илъэс бжыгъэхэр Нало Заур и гъащ1эм?

1. 1928гъ. 4. 1954гъ.

2. 1948гъ. 5. 1956гъ.

3. 1952гъ 6. 1959гъ.

1928гъ – Старэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ.

1948гъ – къуажэ еджап1эр ф1ы дыдэу къеух, Къэбэрдей – Балъкъэр пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмрэ и отделенэм щ1от1ысхьэ.

1952гъ – пединститутыр къеух, институтым егъэджак1уэу лэжьэн щ1едзэ.

1954гъ – Къэбэрдей – Балъкъэр щ1эныгъэ – къэхутак1уэ институтым щылэжьэн щ1едзэ ик1и, нобэр къыздэсым, Нало Заур абы щолажьэ.

1955гъ – къыщыщ1эдзауэ дунейм къытохьэ Налом и тхыгъэхэр, сабийхэм папщ1э усэхэр, рассказхэр, новеллэхэр.

Балладэ-тхыдэм е таурыхъым къыхаха сюжетым тету строфаурэ тха усыгъэ мыин.

Строфа-усэм и 1ыхьэ,часть стиха.

Усэ-усак1уэхэм зэгъэк1уауэ псалъэк1э зэхалъхьа тхыгъэ мыин.

Усак1уэ-усэ зэхэзылъхьэ ц1ыху.

Усэн-слагать,сочинять.

Зытепсэлъыхьым и щытык1эр зэхэщ1эгъуэу, нэгум къыщ1агъэхьэу, къа1уэтэж щхьэк1э, ар нэгъуэщ1 зыгуэрым ирагъэщхьу, ирагъапщэу къыщыжа1эм деж зэгъэпщэныгъэк1э йоджэ.

Егъэдж. Дэтхэнэ зы усэ едзыгъуэми фыкъеджурэ къыжыф1эт. Усак1уэм удым и шыфэл1ыфэр къыщигъэлагъуэк1э сыт хуэдэ художественнэ 1эмал къигъэсэбэпми.

— Сыт хуэдэ пщ1э хуищ1рэ усак1уэм ц1ыху напэм? Фэ сыт хуэдэ щытык1э хуви1э ц1ыху напэм?(Дэтхэнэ зы усэ едзыгъуэми усак1уэм къыщегъэсэбэп зэгъэпщэныгъэхэр,егъэлеиныгъэхэр.Усак1уэм напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ди пащхьэ псалъэк1э кърелъхьэ.Ц1ыхум псори ф1эк1уэд хъунущ,ауэ напэр зыф1эк1уэдам ф1ок1уэдыр гъащ1э дахэр,дыгъэпс гуапэр,ц1ыхум и пщ1эр.

3.Темэщ1эр егъэджын.

Макъамэ гуапэ къоуэ.

2) Упщ1эхэр гъэувын,абыхэмк1э ещанэ 1ыхьэр зэпкърыхын.

Ет1уанэ илъэсым удыр къэк1уащ л1ыжьым и напэр ихьыну.

-Напэм и п1эк1э удым ихьар сыт?

Удым напэр л1ым къыщримытым сыт хуэдэ 1эмал удыр зыхуэк1уэр?

Сыт усак1уэм л1ымрэ удымрэ я образхэмк1э дигъалъэгъуну зыхуеяр?

Ц1ыхугъэр, ц1ыху напэр псом ящхьэу зэрыщытыр дауэ къигъэлъэгъуэфа усак1уэм?

— Ц1ыхугъэмрэ напэмрэ псом нэхърэ нэхъ лъап1эу зэрыщытыр Нало Заур къыдигъэлъэгъуащ л1ым и напэм и п1эк1э и гурыгъугурыщ1эхэр къызэри1уатэ и бзэр, дунейм и дахагъэр зэрилъагъу и нэр, уеблэмэ, и псэ дыдэри удым зэрыритымк1э. И бзэм, и нэм, и псэм нэхърэ нэхъ лъап1эу къилъытащ абы и ук1ытэмрэ и напэмрэ.

Ижь – ижьыж лъандэрэ адыгэм псом япэ иригъэщу щытащ и напэр, и ц1ыхугъэр. Адыгэхэм пщ1э хуащ1ырт напэ зи1э, ц1ыхугъэ зыбгъэдэлъ ц1ыхухэм. Нэмыплъ иратырт зи напэпэри зи ук1ытэри 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абы и щыхьэтуи ди бзэм псалъэжь куэд къыхэнащ. Фэ фщ1эуэ п1эрэ ц1ык1ухэ, апхуэдэ псалъэжь.(слайдым тет псалъэжьхэр еджак1уэхэм я пащхьэ идолъхьэ)

— Псэр ящэри напэ къащэху.

— Нэмыс зи1эм насып и1эщ.

-Ук1ытэр щагъуэтым бжэкъуагъым къуэсащ.

— Напищэ нэхърэ зы напэ.

-Ук1ытэ зимы1эм ц1ыхугъи и1энкъым.

Балладэр Щоджэнц1ык1у Алий и фэеплъу зэрыщытар дощ1э. Хэт жи1эн сыту п1эрэ усак1уэм мы тхыгъэр Щоджэнц1ык1у Алий фэеплъ щ1ыхуищ1ар?

И дуней тетык1амк1и, и къигъэнахэмк1и къилэжьыжащ Щоджэнц1ык1у Алий апхуэдэ тхыгъэ гъуэзэджэ, нэгъуэщ1 куэди фэеплъ хуащ1ыныр.

Сыхуейт удым и теплъэр зы еджак1уэм ищ1ыну,адрейм напэ,ук1ытэ,л1ыгъэ псалъэхэр тегъэщ1ап1э зыхуэхъун теплъэгъуэ.

4.Егъэбыдыл1эн

Балладэм и ещанэ 1ыхьэм еджак1уит1-щы къегъэджэн,еджак1уит1ым тест лэжьыгъэхэр егъэщ1ыжын:

Тхыгъэм и ещанэ 1ыхьэр:

Гъатхэ пасэщ ещанэгъэр,

Пц1ащхъуэр уэгум щос.

Л1ыжьыр дэлъу гъатхэ дыгъэм

Удыр занщ1эу къос.

Блэм и щ1ыфэу,уд 1э гъурыр

Л1ыжьым ще1усам,

Щылъэтащ ар щтэ1эщтаблэу

Ещхьу блэ зэуам.

«Сувы1энкъым,-же1э удым,-

Сымыхьау уи напэр;

Зэф1эк1ынущ ар тынш дыдэу,

Що1усам си 1эпэр.

Уи ук1ытэр сэ къызэптым,

Уи яужь сок1ыж.

Уи ни уи бзи уи ук1ытэм

Пэк1уэу узотыж.

Ц1ыхум напэр зэран хуохъур,

Насыпыншэ ещ1.

Ц1ыхум напэр игъэлъап1эм,

«Хьэуэ!-же1эр л1ыжьым игук1э,

Зыми димыхьэх:

-Сэ схуэщэнкъым си ук1ытэр,

«Ауэ щыхъук1э,-же1эр удым,-

Телъхьэ ин пхузощ1:

Дунеишхуэм ф1ыгъуэу телъыр

«Хьэуэ!-же1э л1ыжьым игук1э,-

Ухэмыт а псом,

Ук1ытэншэу упсэу нэхърэ

«Армэ хъункъэ,-же1эр удым,-

Уи псэр къыхызох.

Уи ук1ытэр уигу пымык1ым,

Нэпсу нэм къыщ1ок1.

Асыхьэтым щ1оху и лъакъуэр,

Хуэму и псэр хок1.

Тест упщ1эхэр:

1. Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ…

б) К1ыщокъуэ Алим

в) Щомахуэ Амырхъан

а) Щоджэнц1ык1у Алий

б) Джэдгъэф Борис

4. Цы 1уданэ плъыжьк1э и нэр

Псалъэу жи1эм гур е1ул1эр

Ещхьу хуэш хыхьам.

Мы псалъэхэр зытепсэлъыхьыр…

а) етхуанэ классым;

б) еханэ классым;

Классым щ1эс еджак1уэхэм упщ1э яхуэгъэувын:мы балладэр зытепсэлъыхь 1уэхугъуэр фэ къыфщыщ1амэ,сыт хуэдэ хэк1ып1эт фи1энур?Дунейм фи бзэр бзэрабзэу,нэхэм дахагъэ псори ялъагъуу фытетынут напэр фимы1эжу,хьэмэрэ а дахагъэ псоми фыхуэхейуэ,ауэ фи напэр хужьу фыпсэупхъэт.Жэуап къатахэм ипкъ итк1э еджак1уэхэр гупит1у гуэшын.Апхуэдэ жэуап къызэратам тегъэщ1ауэ я гупсысэхэр утыку кърегъэлъхьэн.

5.Урокыр зыщ1экъуэжын

Егъэдж. -Ц1ык1ухэ,урокыр иризэщ1эткъуэжыну сыхуейт синквейнк1э.Псалъэхэр:напэ,л1ыгъэ,уд

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Описание презентации по отдельным слайдам:

Гъащ1эм хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу ц1ыхум бгъэдэлъыр:Ф1ы, лъагъуныгъэ, шы1э.

Гъащ1эм хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу ц1ыхум бгъэдэлъыр:
Ф1ы, лъагъуныгъэ, шы1эныгъэ, пщ1э, напэ, къабзагъэ, пэжыгъэ, намыс, гущ1эгъу, гуф1эгъуэ,

Акъыл ц1ыхугъэнапэ

Акъыл Ц1ыхур зэрыгупсысэ, зэрызэхищ1ык1 .

Акъыл
Ц1ыхур зэрыгупсысэ,
зэрызэхищ1ык1 .

Воля — гушхуэныгъэ,хущ1экъуныгъэ,ф1эф1ыныгъэ,хуитыныгъэ.щхьэхуитыныгъэ.

Псалъэжьхэр Адыгэ напэр къэзылъхур –пэжыгъэщ. Напэм и пэ псэр ихуэ. Псэр щ.

Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур
–пэжыгъэщ.
Напэм и пэ псэр ихуэ.
Псэр щэй напэ къщэху.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зи1эм л1ыгъэхэлъщ.

Напэ-къабзэщ,хужьщ,къо-упщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ,хеящ1э нэхъыщхьэщ.

Дауэ зэрытхъумэныр ди напэр ?

Дауэ зэрытхъумэныр ди напэр ?

ЖэуапырСытым щыгъуи пэжыр жыт1эфу дыщытын, ди щыуагъэхэр къэдгъуэтыжыфу дыщыт.

Жэуапыр
Сытым щыгъуи пэжыр жыт1эфу дыщытын, ди щыуагъэхэр къэдгъуэтыжыфу дыщытын, гъэгъуныгъэ,ук1ытэ тхэлъын.

Напэ зимы1э ц1ыху. Ук1ытэ,хабзэ зыхэмылъ,зым щхьэк1и зи дзэ мыш ц1ыху.

Напэ зимы1э ц1ыху.

Ук1ытэ,хабзэ зыхэмылъ,зым щхьэк1и зи дзэ мыш ц1ыху.

Напэ зезыхьэ ц1ыхум и сурэт Абы сыт хуэдэ 1уэхури пэжыгъэ хэлъу елэжь…(пц1ы х.

Напэ зезыхьэ ц1ыхум и сурэт
Абы сыт хуэдэ 1уэхури пэжыгъэ хэлъу елэжь…(пц1ы хэмылъу, и гум къыбгъэдэк1ыу.)
Ар – ц1ыху …(захуагъэм и телъхьэщ., дзыхь ебгъэз хъунущ., 1уэху зыпэрыувэм пэжу бгъэдэдтщ. )
Абы и сыт хуэдэ лъэбакъуэри пэжаъэм,захуагъэмтету еч. (егупсысауэ.)
Абы ищ1энукъым 1уэхугъуэ …(щ1эук1ытэн, и щхьэр щ1рихьэхын.абы мылъку е ахъшэ къыпэк1уэну щытми.)
Ар блэк1ынукъым …(ц1ыхум сэбэп хуэхъуфыну ищ1эмэ)
Напэ зи1э ц1ыхум щыуагъэ къы1эщ1эщ1ауэ щытмэ.. (ар щ1огъукэж ), ик1и …. (ироук1ытэж).
Напэр къегъэлъагъуэ…(ц1ыхум и гум илъымрэ и дуней тетык1эмрэ).
Абы ц1ыхур хуеущий… (ф1ым, пэжыгъэм,захуагъэм).
И жагъуэ мэхъу… (мыхъумыщ1агъэ щилъагъум деж).

Рефлексия. Псалъэухар нэгъэсыж. Сэ нобэ къэсщ1ащ… Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ… Гуг.

Рефлексия.
Псалъэухар нэгъэсыж.

Сэ нобэ къэсщ1ащ…
Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ…
Гугъут.…
Сэ къызгуры1уащ, …
Сэ зэхэсщ1ащ, …
Сэ сыдихьэхащ.…
Урокым сэ къызгуригъэ1уащ.…
Сэ сыхуейщ.…

Читайте также:

      

  • Чайковский вальс снежинок сочинение
  •   

  • Принципиальность это сочинение 9 3
  •   

  • Сочинение керпе на татарском 5 класс
  •   

  • Сочинение про данила козловского
  •   

  • Монстр хай школьное сочинение



Скачать материал

Нало Заур 
 «Ц1ыху напэ»
7 класс



Скачать материал

  • Сейчас обучается 23 человека из 18 регионов

  • Сейчас обучается 45 человек из 26 регионов

  • Курс добавлен 19.01.2023

Описание презентации по отдельным слайдам:

  • Нало Заур 
 «Ц1ыху напэ»
7 класс

    1 слайд

    Нало Заур
    «Ц1ыху напэ»
    7 класс

  • Гъащ1эм хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу ц1ыхум бгъэдэлъыр:Ф1ы, лъагъуныгъэ, шы1э...

    2 слайд

    Гъащ1эм хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу ц1ыхум бгъэдэлъыр:
    Ф1ы, лъагъуныгъэ, шы1эныгъэ, пщ1э, напэ, къабзагъэ, пэжыгъэ, намыс, гущ1эгъу, гуф1эгъуэ,

  • Акъыл ц1ыхугъэнапэ

    3 слайд

    Акъыл
    ц1ыхугъэ
    напэ

  • Акъыл 
Ц1ыхур зэрыгупсысэ,
зэрызэхищ1ык1 .

    4 слайд

    Акъыл
    Ц1ыхур зэрыгупсысэ,
    зэрызэхищ1ык1 .

  • Воля — гушхуэныгъэ,хущ1экъуныгъэ,ф1эф1ыныгъэ,хуитыныгъэ.щхьэхуитыныгъэ.

    5 слайд

    Воля — гушхуэныгъэ,хущ1экъуныгъэ,ф1эф1ыныгъэ,хуитыныгъэ.щхьэхуитыныгъэ.

  • Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур 
–пэжыгъэщ.
Напэм и пэ псэр ихуэ.
Псэр щ...

    6 слайд

    Псалъэжьхэр
    Адыгэ напэр къэзылъхур
    –пэжыгъэщ.
    Напэм и пэ псэр ихуэ.
    Псэр щэй напэ къщэху.
    Напэм техуэр жьэм же1эр.
    Напэ зи1эм л1ыгъэхэлъщ.

  • Напэ-къабзэщ,хужьщ,къо-упщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ,хеящ1э нэхъыщхьэщ.

    7 слайд

    Напэ-къабзэщ,хужьщ,къо-упщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ,хеящ1э нэхъыщхьэщ.

  • Дауэ зэрытхъумэныр ди напэр ?

    8 слайд

    Дауэ зэрытхъумэныр ди напэр ?

  • ЖэуапырСытым щыгъуи пэжыр жыт1эфу дыщытын, ди щыуагъэхэр къэдгъуэтыжыфу дыщыт...

    9 слайд

    Жэуапыр
    Сытым щыгъуи пэжыр жыт1эфу дыщытын, ди щыуагъэхэр къэдгъуэтыжыфу дыщытын, гъэгъуныгъэ,ук1ытэ тхэлъын.

  • Напэ зимы1э ц1ыху.

Ук1ытэ,хабзэ зыхэмылъ,зым щхьэк1и зи дзэ мыш ц1ыху.

    10 слайд

    Напэ зимы1э ц1ыху.

    Ук1ытэ,хабзэ зыхэмылъ,зым щхьэк1и зи дзэ мыш ц1ыху.

  • «жить по совести»Когда человек не выполнил того, что был обязан сделать, схит...

    11 слайд

    «жить по совести»
    Когда человек не выполнил того, что был обязан сделать, схитрил, обманул кого-то. 
    Жить честно, справедливо.
    Делать что-либо хорошо, добросовестно.
    Поступать нравственно.
    «жить против совести»
    Поступать без стыда, без стеснения.
    Жить спокойно, не испытывая угрызения совести.

  • Напэ зезыхьэ ц1ыхум и сурэт
Абы сыт хуэдэ 1уэхури пэжыгъэ хэлъу елэжь…(пц1ы х...

    12 слайд

    Напэ зезыхьэ ц1ыхум и сурэт
    Абы сыт хуэдэ 1уэхури пэжыгъэ хэлъу елэжь…(пц1ы хэмылъу, и гум къыбгъэдэк1ыу.)
    Ар – ц1ыху …(захуагъэм и телъхьэщ., дзыхь ебгъэз хъунущ., 1уэху зыпэрыувэм пэжу бгъэдэдтщ. )
    Абы и сыт хуэдэ лъэбакъуэри пэжаъэм,захуагъэмтету еч. (егупсысауэ.)
    Абы ищ1энукъым 1уэхугъуэ …(щ1эук1ытэн, и щхьэр щ1рихьэхын.абы мылъку е ахъшэ къыпэк1уэну щытми.)
    Ар блэк1ынукъым …(ц1ыхум сэбэп хуэхъуфыну ищ1эмэ)
    Напэ зи1э ц1ыхум щыуагъэ къы1эщ1эщ1ауэ щытмэ.. (ар щ1огъукэж ), ик1и …. (ироук1ытэж).
    Напэр къегъэлъагъуэ…(ц1ыхум и гум илъымрэ и дуней тетык1эмрэ).
    Абы ц1ыхур хуеущий… (ф1ым, пэжыгъэм,захуагъэм).
    И жагъуэ мэхъу… (мыхъумыщ1агъэ щилъагъум деж).

  • Рефлексия. 
Псалъэухар нэгъэсыж.

Сэ нобэ къэсщ1ащ…
Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ…
Гуг...

    13 слайд

    Рефлексия.
    Псалъэухар нэгъэсыж.

    Сэ нобэ къэсщ1ащ…
    Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ…
    Гугъут.…
    Сэ къызгуры1уащ, …
    Сэ зэхэсщ1ащ, …
    Сэ сыдихьэхащ.…
    Урокым сэ къызгуригъэ1уащ.…
    Сэ сыхуейщ.…

  • Унэ лэжьыгъэ 

1. «Ц1ыху напэ»балладэм гъэхуауэ еджэн
2. Сочиненэ к1эщ1 тхын...

    14 слайд

    Унэ лэжьыгъэ

    1. «Ц1ыху напэ»балладэм гъэхуауэ еджэн
    2. Сочиненэ к1эщ1 тхын «напэмрэ ц1ыхугъэмрэ.»

Найдите материал к любому уроку, указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:

6 157 019 материалов в базе

  • Выберите категорию:

  • Выберите учебник и тему

  • Выберите класс:

  • Тип материала:

    • Все материалы

    • Статьи

    • Научные работы

    • Видеоуроки

    • Презентации

    • Конспекты

    • Тесты

    • Рабочие программы

    • Другие методич. материалы

Найти материалы

Другие материалы

  • 26.11.2021
  • 150
  • 3
  • 26.11.2021
  • 742
  • 35
  • 26.11.2021
  • 139
  • 6
  • 26.11.2021
  • 124
  • 1

«Төрөөбүт литература (Родная литература) (в 2 частях)», Поликарпова Е.М., Молукова Л.Ф., Олесова С.Г.

  • 26.11.2021
  • 131
  • 0

«Дешаран книжка (Литературное чтение) (на чеченском языке)», Солтаханов Э.Х., Солтаханов И.Э.

  • 25.11.2021
  • 109
  • 0

Вам будут интересны эти курсы:

  • Курс профессиональной переподготовки «Управление персоналом и оформление трудовых отношений»

  • Курс повышения квалификации «Организация практики студентов в соответствии с требованиями ФГОС юридических направлений подготовки»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация деятельности по подбору и оценке персонала (рекрутинг)»

  • Курс повышения квалификации «Финансы: управление структурой капитала»

  • Курс повышения квалификации «Организация маркетинга в туризме»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация системы менеджмента транспортных услуг в туризме»

  • Курс профессиональной переподготовки «Уголовно-правовые дисциплины: теория и методика преподавания в образовательной организации»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация и управление процессом по предоставлению услуг по кредитному брокериджу»

  • Курс профессиональной переподготовки «Гражданско-правовые дисциплины: теория и методика преподавания в образовательной организации»

  • Курс профессиональной переподготовки «Управление качеством»

  • Настоящий материал опубликован пользователем Чеченова Оксана Заурбиевна. Инфоурок является
    информационным посредником и предоставляет пользователям возможность размещать на сайте
    методические материалы. Всю ответственность за опубликованные материалы, содержащиеся в них
    сведения, а также за соблюдение авторских прав несут пользователи, загрузившие материал на сайт

    Если Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с
    сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.

    Удалить материал

  • Чеченова Оксана Заурбиевна

    • На сайте: 1 год и 3 месяца
    • Подписчики: 0
    • Всего просмотров: 2751
    • Всего материалов:

      3

  • Рабочий лист для урока литературного чтения в 4 классе по поэме А.С. Пушкина

Кабардино – Балкарский 
государственный университет

им.Х.М. Бербекова

Конкурс эссе

«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»

«Напэр псэм япэщ»

https://vr-vyksa.ru/media/images/chronika_VOV_ANAxmFy.max-1200x800.jpgЛэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:

Бахъсэн къалэ дэт  етхуанэ
еджап1эм

и епщ1анэ классым щеджэ

Азычэ Ясминэ

 Егъэджак1уэр:

Л1эужь Залинэ

2021 гъ.

Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар.
ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, уса­кIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэ­уал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэ­уатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр.  Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ.
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм  теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI…
ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм  – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.

Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр

Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!

Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,

ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!

ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,

КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,

Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ

ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.

Окопым
къокIри зы долъей,

И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.

ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,

Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.

Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.

ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:

«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,

Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»

1945 гъ.

(К1ыщокъуэ
Алим)

^

НАЛО ЗАУР

ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу.

Къум пшахъуэхур джабэжь мафIэу

Къигъэплъами дыгъэм,

ГъуэгурыкIуэм нэсыжыным

Химыхыж и гугъэр.

Жыхьэнмэ лъэмыжым хуэдэу,

КIыхьщи пэщылъ гъуэгур,

КIуэ пэтыхукIэ хощI и гуащIэм,

Мэхъур махэ и гур.

ГъуэгурыкIуэм и Iyp плъыхукIэ,

МэункIыфIыр и нэр,

ЗимыщIэжу ар къоджалэр,

Нэсыпауэ псынэм.

Къэмэхауэ хэлъщ пшахъуэхуми,

Ар къегъэткIур дыгъэм;

Дуней псор исыж къыпфIощIыр,

ЗэщIищтауэ лыгъэм.

Мис абдежым зы yд гуэрыр

Къыщохутэ занщIэу;

ЛIыр фIэлIэнкIэ тешынауэ.

Псы IурaкIэ псынщIэу.

ЗыкъещIэжыр лIы мэхами

КъотIысыжыр хуэму,

Удыр лIым.и щыпэлъагъути,

Зэпеплъыхь тэмэму.

Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр

Хуэдэщ къэдыхьам,

Псалъэу жиIэм гур еIулIэр,

Ещхьу хуэш хыxьaм.

«Берычэт бесын, цIыху щхьэпэ! –

ЛIым и макъыр къoIy:-

Зы псы фалъэ сегьэфэжыт …» —

­Удым лIыр йолъэIу.

АтIэ удхэр зыгъэудыр

Лей зэрахьэр арщ.

Мис мы удми и мурадыр

Щпхъаджагъэ гуэрщ.

«Хьэуэ,- жеIэр,- уезгъэфэнкъым

ПщIэншэу зы псы ткIуэпс.

Псы ухуеймэ, къызгурыIуэ,

ЩумыгъэкIыу нэпс.

Гъэ къэсыхукIэ псым и уасэу

КъысхуэпщIынщ зы тыгъэ,

Аращ сэри сиIэр Iycy,

Сытынш уи мыгyгъэ.

Сэ уэ тыгъэу къыпIысхынур

Си гум фIэфI къудейрщ.

Уэ уимы ныбжесIэнкъым,

НэгъуэщI сыт ухуей!»

«3ахуэщ»,-жеIэ, лIыр гуроIуэ,

Псы шынакъ йофэж;

Дыгъэ бзийхэр махэ хъуати,

Я гъуэгу тоувэж.

• • •

Ер вы бжьакъуэм къызэрикIыр

ТщIамэ, Iуэху къэхъунт?

Ер псы фалъэм зэрыхэлъыр

ИщIам, лIыр ефэнт?

А псы фалъэм къикIa Iуэхур

КъэтIуэтэнщ иджы.

Ар къэфщну фэ фыхуеймэ,

Мы тхыдэжьыр вджы.

I

ДокI илъэсыр. Гъатхэ хъуащи

ЩIым телъыжкъым уэс,

Бацэ щапхъыу зыщапхъэхым,

Удыр лIым деж къос.

Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр

Хуэдэщ къэдыхьам,

Псалъэу жиIэм гур еIулIэр,

Ещхьу хуэш хыxьaм.

Вий щIэщIаyэ вэуэ хэтти,

ЗанщIэy лIыр къэскIащ,

«Сыхьэт мыгъуэм сыхуэзати… »

ЛIыжьым игу къэкIащ.

Удым жеIэр: «Илъэс хъуащи,

Хьэкъыр къызэтыж.

Сызыхуейр уи напэр арщи,

ЖыпIам уемыпцIыж.

Уэ укIыrrэ пхэмылъыжкIэ

Упсэун къэнэн,

Уэ уи напэр сэ къызэпткIэ,

Уивхэр бгым дэнэн!»

КъызокIуэкIри и фэр шэхуу

«Хьэуэ!» — жеIэр лIым, —

Сэ си напэр, си укIытэр

Уэстынкъым, сыплIам!

CIых ухуеймэ, мылъкуу сиIэр,

Уеблэм сыгъэпщылI.

СIихыфыну сэ си напэр

Дунейм теткъым зылI».

«Ауэ щыхъукIэ,- жеIэр удым, —

Уи бзэр къыпIызох.

Зи укIытэр зигу пымыкIым,

Ар ухуейм къыхэх!»

И щхьэ тхъуар къыфIохур лIыми,

Мэхъур арэзы.

Мэдий и бзэр асыхьэтми,

ЖимыIэжу зы.

ШауэнапщIэм Iэнкун хъуауэ

ЛIыр гупсысэу тесщ.

Гуауэ иныр къылъысауэ

И гур мафIэм ес.

«Ягъэ кIынкъым»,- жеIэр игукIэ,

И щхьэр къeIэтыж;

Еубыдыжри пхъэIэщэкIыр.

Лажьэу хоувэж.

* * *

II

ЕтIанэгъэм жыг гъэгъахэр

Хуэдэщ телъым уэс.

Къэщхьэлъауэ сэтэнейхэр

Удыр лIым деж къос.

Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр

Хуэдэщ къэдыхьам,

Псалъэу жиIэм гур еIулIэр,

Ещхьу хуэш хыхьам.

Хадэ ипщIэу хэтти лIыжьыр,

ФIанэр Iэпыхуащ.

«Сыхьэт мыгъуэм тхьэм ухуишэ»… —

­Удым лIыр ебгащ.

Гум едзакъэу къодыхьэшхри

Удым жеIэр мыр:

«СыкъэкIуащ уи напэр схьыну,

Ар Алыхь Iэмырщ.

АтIэ напэр сэ къызэпткIэ,

Сытыр уэ пxэщIын?

Уэ укIытэ пхэмылъжкIэ,

Упсэун къэнэн!»

«Хьэуэ,- жеIэр игукIэ бзагуэм,

­Напэ уэзмытын,

Лей къызохыр уэ щIэпхъаджэм,

Тхьэм уищI хэутэн!»

«Ауэ щыхъукIэ,- жеIэр удым,-

Уи нэр къыпIызох.

Зи укIытэр зигу пымыкIым,

Ар ухуейм, къыхэх».

И гум хьэлъэу къощэIукIри

ЛIыр мэхъу арэзы.

Дунейр занщIэу мэункIыфри

Илъагъужкъым зы.

Бзагуэу, нэфу жэщ къытохъуэ,

Губгъуэм къонэ ар.

Нэху щыпауэщ къуэ къылъыхъуэм

ЩыпэщIэхуэжар.

* * *

Напэр нэкIэ ихъуэжынум

ЗэрегуакIуэщ щхьэж.

Бзагуэ хъуами, нэф хъупами.

ЛIыфIыр щIемыгъуэж.

Зэзэмызэ къызэфIонэ,

Нэпси къыфIыщIокI.

Ауэ напэр ихъуэжыну

Зэи игу къэмыкI.

III

Гъатхэ пасэщ ещанэгъэр,

ПцIащхъуэр уэгум щос.

ЛIыжьыр дэлъу гъатхэ дыгъэм

Удыp занщIэу къос.

Блэм и щIыфэу, уд Iэ гъурыр

ЛIыжьым щеIусам,

Щылъэтащ ар щтэIэщтаблэу,

Ещхьу блэ зэуам.

«СувыIэнкъым,- жeIэ удым,

­Сымыхьау уи напэр;

ЗэфIэкIынущ ар тынш дыдэу,

ЩоIусам си Iэпэр.

Уи укIытэр сэ къызэптым,

Уи яужь сокIыж.

Уи ни уи бзи уи укIытэм

ПэкIуэу узотыж.

ЦIыхум напэр зэран хуохъур,

НасыпыфIэ ещI.

ЦIыхум напэр игъэлъапIэм,

Мэхъу и жыпыр нэщI».

«Хьэуэ! — жеIэр лIыжьым игукIэ,

3ыми димыхьэх:

— Сэ схуэщэнкъым си укIытэр,

Ухуейм, си псэр хэх».

«Ауэ щыхъукIэ,- жеIэр удым, —

Телъхьэ ин пхузощI:

Дунеишхуэм фIыгъуэу телъыр

Уасэ хъун къысфIощI».

«Хьэуэ! — жеIэ лIыжьым игукIэ,

­Ухэмыт а псом,

УкIытэншэу упсэу нэхърэ

НэхъыфIщ умыпсэум».

«Армэ хъункъэ,-жеIэр удым,

­Уи псэр къыхызох.

Уи укIытэр уигу пымыкIым,

Ар ухуейм къыхэх».

«Захуэщ!» — жеIэр. Зы ткIуэпс закъуэ

Нэпсу нэм къыщIокI.

Асьrxьэтым щIоху и лъакъуэр,

Хуэму и псэр xокI.

* * *

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр,

Нурыр къыщхьэщех,

ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу

ЛIым и хьэдэр дах.

Напэ къабзэм и къабзагъэр

Дыгъэ бзийм хыхьащ,

Анэ псоми я быдзышэм

Бынхэм хухалъхьащ.

А къабзагъэр сабиинэм

УщIэплъам щолъaгъу,

ЦIыху напэншэр абы щIэплъэм,

Щохъур и нэм бжэгъу.

Нэхур щыщкIэ, а къабзагъэр

Дыгъэм щIым къехьэс.

ЦIыху напэншэм зэрыIуплъэу

ЗанщIэу и нэр къес.

8. ^

НАЛО А.

(Хъыбар)

Къэбэрдейм цIэрыIуэ гуэр исащ, Хьэтуукъуэ ХьэтIохъущыкъуэкIэ еджэу. ЛIыгъэкIи, хабзэкIи, теплъэкIи, псалъэкIи дэбгъуэн щымыIэу. Iуэхур Iэщэрэ акъылрэ хуэкIуамэ, жылэ псо и уасэу ябжу, къытекIуэ хэкум имысу, апхуэ­дэлIт ХьэтIохъущыкъуэ и цIэр зэрыIуар.

НтIэ, апхуэдэлIхэм я цIэр нэгъуэщI лъэпкъхэм я дежи нэсыркъэ — Хьэтуукъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и хъыбар къущ­хьэхэми ялъэIэсащ. Джылахъстэнейр къущхьэкIэ зэджэр осетинхэрщ. Мыбы жыхуиIэри ахэрщ. Ти, ХьэтIохъущы­къуэ и цIэр къущхьэм нэсащ.

Къущхьэхэми яхэтт Астап и къуэ Джага Мылъхуэс жаIэри лIы хахуэ гуэр. Джага Мылъхуэсым и цIэри Къэ­бэрдейм къэсащ: Хьэтуукъуэ ХьэтIохъущыкъуэ къылъэ­Iэсащ.

ЛIитIым я цIэ зэлъэIэса нэужь, зым зыр къилъыхъуэу хуежьэри, апхуэдэу лIитIым зэрылъагъуну мурад ящIам зэрыгъуэтынтэкъэ — зэрыгъуэтащ, зэрылъэгъуащ. «ЛIы ха­хуэ» къыхужаIэ щхьэкIэ, тIури щIалэу къыщIэкIащ. Зыр фыз къэмышэу, адрейм къиша къудейуэ. Зэхуэзэри ягу зэ­рихьащ, ныбжьэгъу зэхуэхъуащ, зэгъусэу щакIуэ, зекIуэ кIуэуэ щIадзащ, гъуэгукIэ, лIыгъэкIэ зэрыгъэунэхуащ. ЛъэпкъитIым я лIы хахуитIыр ныбжьэгъу зэрызэхуэхъуар адыгэхэми къущхьэхэми ягу ирихьащ, иригуфIащ: «япэ къэс зи мыIуэху хъунщIакIуэ тегушхуэгъуафIэ дыкъищIы­жынкъым иджы»,- жаIэри, езы тIури, зызыщамыгъэнщIу фIыуэ зэрылъагъурти, я зэхущытыкIэр цIыхум къызэры­хуагъэдахэм сабийм хуэдэу щыгуфIыкIырт.

Апхуэдэу Псыжь куэдрэ Iуэху щызэрахуэу, къагъэзэж­рэ, Шэшэным къыщыхъуар зэфIагъэкIыу, Ираф аузым ды­хьэрэ Фаснал нэс кIуэуэ, Джага Мылъхуэс деж щыхьэщIа нэужь, къуршым дыхьэхэрэ Сонэм щыщакIуэу, къыщхьэдэхыжмэ, Урыху губгъуэ къихьэжрэ ХьэтIохъущыкъуэ деж кIуэжу я гъащIэр яхьырт, шыбгым ису, «Темыр къэзакъ шу закъуэрэ шы тхьэкIумэ дэплъу, жэщыбгым къэкIуэжын, нэхущым къэкIуэжын?» жыхуаIэм хуэдэу. Апхуэди­зу фIыуэ зэрылъагъурт а тIури, зым и бзэр адрейм зэ­ригъэщIауэ, щызэпсалъэкIэ, ХьэтIохъущыкъуэ Джага зэ­репсалъэр къущхьэбзэт, Джага жэуап къызэритыжыр адыгэбзэт. ТIури лъэпкъ зэхыхьэм я бзэкIэ епсалъэрт.

Ти, апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым Астан и къуэ Джа­га Мылъхуэсыр и ныбжьэгъум деж къэкIуащ. Хьэтуукъуэр хьэщIэм щыгуфIыкIащ, игъэхьэщIащ, игъэлъэпIащ. Ауэ сыт хуэдизу ХьэтIохъущыкъуэ хьэщIэм щыгуфIыкIами, модрейм и щхьэр къыхуэмыIэту нэщхъейт. Бысымыр къэ­гузэващ, къэуIэбжьащ, и хьэщIэм и нэщхъеикIэр щхьэжэ хуэхъуащ. И ныбжьэгъум къылъыкъуэкIынкIэ хъуа нэщ­хъеягъуэм ХьэтIохъущыкъуэ куэдрэ егупсыса нэужь, гу­рыщхъуэ ищIащ Джага къэшэныгу хъуауэ, занщIэуи еупщIащ:

— Ярэби, Джага, уи къэшэгъуэ мыхъуауэ пIэрэ уэ? — ­жиIэри.

— Ара си гугъэщ къысщыщIар, ХьэтIохъущыкъуэ. Ауэ уи хьэтыркIэ адыгэ фIэкI къэзмышэну мурад сщIащи, къысхуэгъуэт къэсшэн.

— Джылахъстэнейм щыщIэддзэнщи, Къэбэрдейр щIэт­пщытыкIынщ, Хьэжрэтым дыкIуэнщ, КIахэмкIэ дызэпры­кIынщи Абазэм дихьэнщ, уигу ирихьын хъыджэбз дымыгъуэтрэ, си тхьэрыIуэщ, уигу ирихь фызыр къозмыгъашэм! Абы уримынэщхъей.

ХьэтIохъущыкъуэм зэрыжиIам хуэдэу ящIащ, ауэ Джа­га и нэ къыфIэнэн ямыгъуэтауэ, мазитIым щIигъукIэ къа­кIухьри къагъэзэжащ. ХьэтIохъущыкъуэ и къуажэм къы­хуэкIуэжу зы выгу къыщIыхьэри къыблэкIащ. Хьэтуу­къуэм нэхъ хуабжь зыкъищIащ, ауэ Джага Мылъхуэсыр выгум къылъэщIыхьэу абы ис цIыхубзым щыIуплъэм, лIэн-къэнэну ехъуэпсащ. ЦIыхубзми, шум и плъэкIэм гу щылъитэм, IэлъэщIыр зытрипхъуэжащ. Джага къыкIэ­рыхуауэ, зэплъэкIыурэ, къакIуэу щилъагъум, ХьэтIохъу­щыкъуэ къызэпсэлъэкIащ къущхьэбзэкIэ:

— УкъыкIэрохури-тIэ, къеуэIуэ! IЦхьэ укъызэIыхьа ап­хуэдэу?

— А зиунагъуэрэ, ХьэтIохъущыкъуэ, сыкъэбгъанэу щхьэ ущIэпхъуэжа! Уафэри щIылъэри жыхуаIэм хуэдэу уэрэ дэрэ щIэдмыщыкIа къэдгъэнакъым, иджы а гум ис цIыхубзым сомыгъэплъу щхьэ ущхьэщыкIрэ? Абы исыр зэрытхьэIухудыр пщIэрэ уэ?!

ХьэтIохъущыкъуэ шхуэмылакIэр Iэпыхуащ, ауэ шыр щыщIэлъэтым, зэщIикъуэжащ.

— Уигу ирихьа ар? Ар ди гъунэгъум япхъущ. Уигу ири­хьамэ, пIалъэ имыIэу пщэдей уэдгъэшэнщи удгъэкIуэ­жынщ. Ар сэ си Iуэхущ.

Джага игу къызэрыгъуэтыжри ныбжьэгъум бгъурыувэ­жащ, псынщIэ дыдэуи Хьэтуукъуэхэ я пщIантIэм къыды­хьэжащ. Пшапэр зэхэуащ. ХьэщIэр ягъэхьэщIэри, гъуэлъыжыгъуэ щыхъум, ягъэзэгъэжащ. ХьэтIохъущыкъуэ и пэшым щIыхьэжри къэхъуар и фызым хуиIуэтэжащ.

— Нобэ уи дыщ укъикIыжу дыкъыбблэкIам нэхъ псын­щIэу къыбблэсшын си гугъащ, си ныбжьэгъум уезмыгъэлъагъуу, ауэ хъуакъым, бетэмал, укъилъагъури къохъуэ­псащ. Сэ абы псалъэ естащ зэхъуэпсар хъыджэбзми фыз­ми, къыхуэсшэну. Си псалъэм сепцIыж хъунукъым. Пщэ­дей абы уестынущи, зыгъэхьэзыр.

— УзэрыфIэфIщ, пщIыр си унафэщ.

— ПщIантIэм дэтхэр згъэIущащ, абы жылэр ягъэIущыжынущ, ди гъунэгъу хъыджэбз хуэдэу уестынущ.

Фызым зигъэхьэзыру, унагъуэм исхэм я гуащэр зэры­рагъэшэным зыхуащIу, Джага игу зэгъэжауэ жейуэ нэху къатещхьащ.

Нэху къекIщ, зэрыжылэу фызышэр ягъэхьэзырри, Джа­га ирагъэжьэжащ, адыгэ хабзэкIэ шу гъусэ щIыгъуу. Ауэ фызышэм щыIэ хабзэ нэщхъыфIагъэр дэнэ къикIынт,­ псори нэщхъейт, Джага нэмыщI.

Къуажэбгъум зэныбжьэгъуитIым я Iэ щызэрыубыдыж­ри, Джага фызышэм щIыгъуу ежьэжащ, ХьэтIохъущыкъуэ къигъэзэжащ.

Шэджагъуэ хъуху кIуауэ, дыгъэр гуащIэ щыхъум, псы Iуфэм къыщыувыIащ фызышэр. Щауэр шу гъусэхэм яхэ­кIуэтащ, дзэл жьауэм щIакIуэр щидзри «нысащIэм» къе­джащ. Ишэри щIакIуэ кIапэм тригъэтIысхьащ. «Ныса­щIэм», гузэвэгъуэр къыкIэщIэзэрыхьри, щэхур иIуэтащ:

— Уи ныбжьэгъум и Iэщи иши къеIыпх хъунщ, къы­уитмэ, ауэ фыз къыIахыу иджы фIэкI слъэгъуакъым.

Къэхъуар Джага къыщищIэм, фызыр къишэжри и ны­бжьэгъум къритыжащ, шыпхъуи къищIри ежьэжащ.

ЗэныбжьэгъуитIым я Iэ щызэрыубыдыжым, цIыхубзым, къаплъэри, псэкIэ зэхищIащ, мы тIум я цIыхугъэр зэры­Iуэтэгъуейр.

Ти, Джага кIуэжащ. Зыкъом дэкIри фызи къишащ, адыгэ фыз. Хьэтохъущыкъуи ар илъэгъуащ, абыи лIыгъэ щызэрихьащ, ауэ ар нэгъуэщI хъыбарщ…

^

НАЛО А.

(Т а у р ы х ъ)

Хъыджэбз дахитI зэгъунэгъуу дэст, тIуми я шэгъуэу, тIури тхьэIухуду дахэу, я хьэл-щэнкIи зэхуэдэу укъамы­гъэукIытэну, я теплъэр уардэу, я бгыр псыгъуэу, щызе­кIуэкIэ къаз псы ес хуэдэ щIыкIафIэу, я IэщIагъэкIэ цIэ­рыIуэу, утыку ихьамэ, жьыри щIэри къехъуапсэу къикIы­жу, абыхэм зэрапэсу къагъэфа щIалэхэм насыпыфIэу, забжыжрэ тхьэмахуэ псокIэ иригуфIэу яIуэтэжу къызэ­рагъэфар. Лъыхъур тIуми яхузэблэкIырти зыр ежьэжмэ, зыр епсыхырт, тIум я хьэщIэщри зэи нэщI хъуртэкъым, яхузэблэкIхэри ауэ къызэрыгуэкI щIалэжь цIыкIутэ­къым – мор щIалэ, мыр щIалэ жыхуаIэ нэхъ цIэрыIуэт къылъыхъухэри, ауэ псоми дзы къыхуагъуэтырт е езыхэм, е я анэхэм: хэт шытесыкIэмыщIэт, цIыху хэтыкIэмыщIэт, хэти нэгъуэщI зыгуэрт. ТIури нэхъыфI пэплъэрти а зыпэ­плъэри къыкъуэкIащ: и лIыгъэкIи и теплъэкIи хэку псом щызэпэзэрылъу хьэщIэ цIэрыIуэ къахуэкIуащ я гъунэ­гъум, я гъунэгъу нысащIэм и дэлъхуу. ЩIалэр хъыджэбза­плъэу къыщIэкIри абыкIи ягу зэгъащ. Хъыджэбзаплъэ щыхъукIэ хъыджэбз цIэрыIуитIми яфIэкIыу хэт ирагъэ­плъынт, а тIум ирагъэплъащ. Къыхихынур имыщIэу щIа­лэм тIури игу ирихьащ, езы хъыджэбзитIми щIалэр ягу ирихьащ. Ауэ тIум хэплъыхьыжыпэри къыхихыныр ищIакъым. ТIэкIунитIэ нэхъ мыхъуми зыр зым нэхърэ зэры­нэхъ Iей, дагъуэ гуэр зыхуищIын къилъыхъуэу хуежьэри зыри игъуэтакъым. Ар щхьэжагъуэ хуэхъури къэнащ щIа­лэм ищIэнур имыщIэжу, жэщкIэ мыжейуэ, махуэкIэ емышхэжрэ емыфэжу. Жэщми арат зэгупсысыр, махуэкIи и гупсысапIэр арат, ауэ телъыджэкъэ, зэхъуэпсар и нэгу къыщыщIэувэкIэ зыр и нэгу къыхущIэгъыхьэртэкъым етIуанэр имыгъусэу…

ХъыджэбзитIри къехъуэпсэщати къаплъэрэ къэдаIуэу щыст, дэтхэнэр дыкъыхихауэ пIэрэ жаIэрэ абыхэм гузэвэ­гъуэр ятелъу, ауэ къэдаIуэ щхьэкIэ зыри зэхахыртэкъым. Зым адрейм зыщримыгъащIэу тIури зэгупсысыр а щIа­лэрт. Я анитIми мо щIалэ цIэрыIуэ дэгъуэр я малъхъэ хъумэ я гуапэти, фызитI зэпсалъэу ялъэгъуамэ, къэувы­Iэрти ядэуэршэрхэрт, игъащIэм ямыцIыхуауэ щытми, зы­гуэр зэхахынкIэ гугъэу, ауэ хъыбар лъэпкъ дунейм теттэкъым…

Абы щыгъуэ щIалэр нэхъри нэхъ хьэщыкъыж хъуауэ ищIэн имыщIэжу и щхьэр зэрихьэрт: дэнэкIэ игъазэми и Iуэху хъужыртэкъым, зыхуей Iуэхур и кIэм хунэгъэсыртэкъым, къищтэр Iэпыхурт, зэпымыууэ хъыджэбзитIым егупсысырти Iэмал игъуэтыртэкъым зыр къигъанэу зыр къыхихыну. Щымыхъужыххэм, лIы Iущ гуэр я къуажэ дэсти, абы и деж кIуащ ечэнджэщыну.

ЧэнджэщакIуэ кIуэри Iуэхур зытетыр щыжриIэм, мо лIы Iущ бзаджэр хуабжьу къыхигъэплъащ щIалэм и Iуэху щхьэмыпэм. Апхуэдэу куэдрэ гупсыса иужькIэ, жэуап къритащ:

— Хъыджэбзхэм нэхъ хуэзэрей зыщIи еплъыт, пщIэну щыткъым зэ IуплъэгъуэкIэ гу зылъумыта дагъуэ зым къы­къуэкIынкIи хъунщ, хэт ищIэрэ, цIыхур къэцIыхугъуейщ. ЯкIэлъыплъи тIуми дагъуэ якIэрумыгъуатэу щытмэ, еуи тIури къашэ, нэгъуэщI Iэмал абы иIэжкъым. ЯжеIэ уи Iуэху зытетыр занщIэуи, зымыдэ къыхэкIым ун насыпщ, тIури арэзы хъууэ щытмэ, къашэ. НэгъуэщI чэнджэщ сэ уэстыфынукъым.

Хъыджэбзхэмрэ щIалэмрэ нэхъ зэрылъагъу хъуащ, зэмани дэкIащ, ауэ Iуэхур нэхъ куу хъу мыхъумэ, зыри кIэрыхуртэкъым. Щымыхъужым, хъыджэбзитIыр зэриубы­дылIэри яжриIащ игу илъыр:

— Куэдрэ щхьэгъусэншэу къыщIызигъэкIухьар фэ тIyмМи зэуэ сыфхуихьыну ара хъунт сэ. Апхуэдизрэ сымыгъуэтар тIууэ къызитыжащ, делэ сыхъуами сщIэркъым, ауэ къыфхэсхынур сымыщIэу сыкъэнащ. ИгъащIэкIэ сыфхэда­ми, зыр фыкъанэу зыр фыкъыхэсхыну апхуэдэу къару сэ згъуэтыркъым. ФхузэфIэкIынумэ, тIури зэуэ фыкъыздэ­кIуэ, фхузэфIэкIынумэ, зэрыхъунур фэ къызжефIэм седэ­Iуэнщ.

ХъыджэбзитIыр пIалъэ гуэркIэ гупсысэри, щIалэр жэ­уапыхьэ къыщыкIIуэм, арэзыуэ жэуап иратащ.

— Ди Iыхьлыхэм къызэрытхуамыдэнур тщIэрти демы­упщIыжауэ жэуап удотыр, дыарэзыщ тIури дыбдэпсэуну, зыр къанэу адрейр насыпыфIэ хъу нэхърэ тIуми зы на­сып диIэм нэхъ къыдощтэ…

ХъыджэбзитIым зэрыжаIа дыдэм ещхьу, я Iыхьлыхэм заукIыжащ, зафыщIыжащ, ауэ затхьэлэжыпами, тIури ядэIуэнутэкъым — хьэщыкъ зэхуэхъуат.

Я Iыхьлыхэр хьэрэм хъуауэ хъыджэбзитIыр ишэри, щIа­лэр кIуэжащ. АдэкIэ здэкIуэжар нэхъ IеижитIу къыщIэ­кIащ, ауэ мо щIалэ хахуэм къыбгъэдэувэу хэт сыт къы­жриIэфынт! Зыри къыжраIэфыртэкъым. ЩIалэм я уна­гъуэр хъарзынэт, фIыуэ зэхущытт, езы тIуми псалъэмакъ яку илътэкъым, псалъэмакъ дэнэ къэна, зым Iэпыхур зым къищтэжу зэдэпсэухэрт.

Ауэрэ щIалэм и ади и ани лIахэщ, езыхэми бын тIу­рытI ягъуэтахэщ. Ауэ цIыхухэм иджыри нэмыплъ къраплъырти, щIалэмрэ нысащIэхэмрэ зызэщIакъуэри щIыпIэр ябгынащ. Дахэ и Хьэщыкъ къуажэр абыхэм къатехъукIыжахэм къагъэхъуауэ ноби щыпсэууэ жаIэр.

^

НАЛО А.

Гъатхэт. Дунейр дахэт. Дыгъэми щIэщыгъуэу «Сэ нэхъ дахэрэ, нэхъ гуапэрэ дэнэ щыIэ?» жиIэу уафэгу щхъуантIэм зыщигъэкIэрахъуэрт… ДахагъкIэ абы eны­къуэкъуу щIылъэми и щыгъыныщIэхэр зыщитIагъэрт, дунейм дахагъкIэ дагъуэ зыхуигъэщIынутэкъым. Зи лъэ вакъэ изылъхьэу жылэм дэсыр губгъуэм ихьэжат. ЖьыкIэфэкIэ закъуэтIакъуэ унэ хадэм щыпэщащэхэм и нэ­мыщIарэ, сабий еджакIуэхэмрэ фIэкIа жылэм къыдэмы­наIауэ цIыхухэр лажьэрт.

Бжьыдзэ Алий и нысэ Налшык дэсыр къэкIуэжати, ныкъуэпщIэр къигъэнауэ, унэри пщIантIэри зэ пкIэгъуэ хуэмыхъужу, Дисэ къижыхьырт.

«ТаксикIэ дыкъэкIуэжынути хъуакъым»,- жиIэу авто­бусым къикIыу, Верэ, и хъыджэбзыцIэр Хъанийщ, ипхъу цIыкIур щIыгъуу, нышэдибэ къызэрыдыхьэж лъандэрэ, Дисэ емытIысэхауэ зэанэзэпхъум къакIэлъижыхьырт.

— Адыгэ шхын тIэкIу уигу къэкIакъэ, къурмэн сызы­хуэхъун си нысэ? Уэ-щэ, си Лорэ дахэ цIыкIу? — жиIэурэ къащыгуфIыкIырт.

Илъэситхум зи ныбжь ит хъыджэбз щхьэц фIыцIэ цIыкIур и анэшхуэм бгъэдэлъадэрт IэплIэ, ба хуищIын мурад иIэу, ауэ Дисэ хадэм зэрита бостей фIеймрэ бжьын зэрипщIа Iэ пхъашэмрэ щилъагъукIэ, Лорэ и анэм сабийр къыбгъэдешыжри и бостей кIэщI хужь цIыкIум йосэ­бауэ.

— Так нильзя, Лорэчкэ, ти платье испачкаешь.

— Iы-ы не хочу … я хочу бабушку обнять.

— Зыри адыгэбзэ лъэпкъ ищIэркъэ, Верэ, мы сипхъу цIыкIум?

— Хьэуэ, нанэ, зыри ищIэркъым… Мишэ идакъым: «Хуейми иужькIэ езым зригъэщIэжынщ»,- жиIэри.

— Мы дунейм нэхъ си хъуэпсапIэ щыIэтэIым урысыбзэ зыщIэ фIэкIаи, алыхьым сыкъимужэгъужар пэжу къы­щIэкIынти, мы тхьэIухуд цIыкIум урысыбзэ къригъэ­щIащ… Ауэ, ярэби, сыту фIыт, Верэ, мыбы адыгэбзи евгъэщIэжатэмэ … уи шыкурщ, ялыхь… Мы уи батинкIэ цIыкIури хэт къыпхуищэхуа, си дахэ?

— Бабушка спрашивает, кто тебе купил батинки?

— Папэ купил мне ботинки.

— А зи папэр зыхуэпсэун цIыкIу! Уи папэм укъыпачауэ урещхьщ: уи пи, уи ни, уи нэбжьыци, уи щхьэци, уи жьи, сыт емыщхьу пхэлъ дунейм? Зи папэр псэууэ сылIэн, си дахэ цIыкIу, тхьэм къытхуигъэхъу, тIасэ, тпфу, тпфу …

— Мамэ, что она плюется?

— Ничего, эта — здаровэ будишь.

— А сэ си псэ тIэкIур зышхын мыгъуэ… ялыхь, уэ уи шыкурщ, ялыхь… ар сэ сэзыгъэлъэгъуа!.. Апхуэдэ насы­пыр къызэптыну мыпшыныжыну сыт пхуэзлэжьат сэ?­ -, жиIэурэ къызэплъэкIыурэ унэм щIокIри, Алий нэхъ гу зы­лъимытэн хуэдэхэм зыхуигъазэурэ бжыхьыр ефыщIри, чыху къехь, сабий лъагъугъуафIэм зыщимыгъэнщIу къы­хуегуфIэкIыурэ, аргуэру щIэжыж-къыщIэлъэдэжурэ, зэ лэкъум игъажьэм бгъэдолъадэ, зэ джэд лыбжьэр зэIещIэ.

— Езыр къэсыжым гуфIэнкъэ!.. Къызэралъхурэ иджыри къыздэсам тIури дыщIобэгри жэщми махуэми дыпоплъэри дыщысщ… Ана, Верэ, мыр сыт бостей гъэщIэгъуэн, сымы­гъуэ! Дапщэ епта, тIасэ, мыбы?

— Мырэ заграницэм кърахащ, нанэ… Ди гъунэгъу гуэрым къыхурагъэхьати, хуэмыхъуу сэ къэсщэхужащ мин­рэ щитхукIэ,- жиIэри нысэм и бостей хьэлэмэтыщэр нэхъ гупсэхуу гуащэм иригъэлъэгъуащ. Къэруакъ плъыжьыбзэ бостеикIэр и хъуреягъкIэ пшынэку зэпэзэву зэгъэлъат.

— Угъурлы пхухъу, тIасэ, хъарзынэщ,- жиIэурэ аргуэру щIожри пхъэ къутапIэм холъадэ, гуэщым мажэ, къы­щIожыж.

Верэ абджыпс кIэлындорым и щхьэгъубжэр къызэ­Iуидзри къыIутIысхьащ, пшынэкум хуэдэу и хъуреягъкIэ зэгъэлъауэ моднэу щIа и бостейр имыупIышкIун щхьэкIэ, и щIыбагъымкIи и гупэмкIи лъэгуажьэм фIэкIыу дри­хьеярэ шэнт къызэрыгуэкIым тесу. Ауэ куэдрэ щымысу къыщылъэтыжри и бостеикIэ щIыбым еплъыжащ: шэнт тегъэщIапIэм бостеикIэр тIэкIу ихулIауэ къыщIэкIащ.

— Нанэ, уа нанэ!

Дисэ пIащIэу пкIэунэм къохыжри нартыху хьэжыгъэ зэрылъ кхъузанэ IэщIэту и нысэм къыбгъэдолъадэ:

— Сыт, си дахэ?. УзыхуейIа?.

— Нанэ, табуреткIэ фиIэкъэ? Мыпхуэдэ шэнт утетIысхьэ хъунукъым гофреищIэ пщыгъыу… Ар сщыгъуп­щэжри си гофрейр Iисраф езгъэщIащ… Плъагъурэ мыр? — ­жиIэри и щIыбыр хуигъэзащ.

— Дэнэ деж, си тIасэ, Iисраф хъуар? Си нэ мыгъуэр зэкIуэкIащи дахэ-дахэу слъагъуркъым.

— Мис, моуэ мобдей линэр Iушэ зэрыхъуар плъагъур­къэ, нанэ?

— А сымыгъуэщ, алыхь лъэщ, пэж дыдэм!.. Мис… мис мыбдейр хулIа хуэдэу хъуар пэжщ … Ана, гу лъатэну пIэ­рэ, абы?

— Ар къызыгурыIуэ еплъми! ЗанщIэу илъагъунщ, фIэ­мыкIыу!

— Ы-ы! Алыхь-алыхь! Сыту нэ жан яIэ, насып зиIэхэ!

— ФиIэ табуреткIэ, нанэ?

— Алыхь, диIэтэм, мы шэнтыщIэхэр къэтщэхуа иужь, гуэщым щIэддзэжауэ щIэлъщ, шэнт щхьэгуэжьым утетIыc­хьэ хъужын мыгъуэкъым.

— Сыт-тIэ иджы тщIэжынур? Шэнт цIыкIу хъуну пIэрэ, Верэ?

— АIэ, нанэ, си кIэр теслъафэ хъурэ, на?

— Сыт тщIэнур-тIэ иджы?.. Алыхь, Фаризэтхэ яIэ си гугъэм… Алыхь, яIэм … яIэщ тхьэ … иджыпсту къэсхьынщ, тIасэ …

Верэ къикIукI-никIукIыу кIэлындорым тетыхункIэ, и Iэпэр Iупс ищIурэ упIышкIуауэ къыщыхъуа зэтедзапIэр зэригъэзэхуэжыхункIэ, Дисэ шэнт щхьэгуэ къихьри къэсы­жащ:

— Алыхь, къыпуэзгъуэтамэ, си тIасэ! Мэ… шэнт гъуэ­зэджэ яIэу къыщIэмыкIаи, тIасэ!

Верэ шэнт щхьэгуэм и бостейр фIэубгъуауэ тетIысхьэ­жащ. Дыщэджэдым и кIэ къабзийр зыдэIуа пыIэ плъыжь дахэри, къызэрыс лъандэрэ Дисэ фIэкIа зыми зэримылъэ­гъyaм щхьэкIэ, щхьэримыхауэ щхьэрыгъыу уэрам нэщIым доплъэри щысщ. Лорэчки кIэлындорыбжэ Iyxaм кIэрыува­уэ джэдкъаз куэд зыдэт пщIантIэ щхъуантIэм доплъэ, и нэфIьщIэ дахитIыр къигуфIыкIыу, езыри къэпIейтеяуэ.

Къаз бын пщIантIэм щохъуакIуэ, къаз анитIрэ зы къа­зыхъурэ яхэту. Къаз шыр къишагъащIэхэр удз тхьэмпэ псыгъуэ цIыкIухэм къоIэри удзыр къыпача иужькIэ щIыбагъкIэ къыщхьэпредзыжыр абыи я лъакъуэ гъуэжь цIыкIу дэгъэзеяхэмкIэ елъэкъуауэурэ ерагъкIэ зыкъызэрагъэдзэкIыжри къоувыжхэр, аргуэруи удзым еIэн щIа­дзэж.

Джэдкъурт, е гуэгуш, бабыщ гъунэгъу къахуэхъуа иужькIэ, къазыхъужьыр я пашэу анитIыр йолъри я пщэ­хэр къуаншэу хэшауэ я щхьэхэр щIым еIусэу ехьэхауэ «с-с-с» жаIэурэ бийхэр Iуахури щырхэм хъупIэ къыхуа­зэу.

А гъэщIэгъуэнхэр сурэткIэ зымылъэгъуа Лорэчкэ «Ма­мэ, я хочу потрогать утят»,- жеIэри мэлъаIуэ, и анэм игъакIуэркъым.

Дисэ гуэрыр къыщIолъэдэжри мэгузавэ:

— Сэ сопщафIэ жысIэурэ мы тхьэIухуд шыр цIыкIур згъэмэжэлIа си гугъэщ, тхьэ! Мор хьэзыр хъуху, сыт ишхыну пIэрэ, Верэ? ЕупщIыт, тIасэ.

— АIэ, нанэ, абы вапше зыри ишхынукъым. Падаркэ, псо и адэм къыхуищэхуауэ си радикюлым изщ. Умыгу­завэ.

— КъызэрыкIуэрэ зы Iулъхьэ ишхакъым, на-а … Ярэ­би шкIэрышэ ишхыну пIэрэ, Верэ? ЕупщIыт, тIасэ, тхьэ уеупщIын, Верэ. Иджыпсту хывыжьри къыдэлъэдэжынущ… МахуитI мэхъу зэрылъхуэри шэджагъуэ нэужь зэрыхъуу яхуэмыубыду къафIокIуэж… ЕупщIыт, сигу гъэзагъэт, тIасэ, ишхыну пIэрэ шкIэрышэ?

— Лорэчкэ!

— Что, мама?

— Будиш кушат шк…ыы..ы… шкариша?

— А что это такое, мамочка?

— Это? ы-ы .. эта, вэпше очен сладкэ.

— Буду, мамочка, если очень сладкая.

— Ишхыну жеIэр, нанэ.

— А къурмэн сыпхухъу, сытми зыгуэр тхуэпшхащэрэт, си псэ тIэкIур зышхын… Сыту фIыт, ярэби, сыту фIыт.­ Иджыпсту къэсыжынкъэ ди хывыжьри … Сыту фIыт …

Дисэ гуфIэу щIэпхъуэжащ, хывыр къызэрымысыжым нэхъ гукъеуэ имыIэжу, и Iуэху яужь ихьэжащ, Iэуэлъауэу. Вери фIыуэ дыгъэм иригъэзыхыхункIэ уэрам нэщIым дэ­плъэурэ езэшри зыри щимылъагъум, езыри зыми къыщи­мылъагъум, Лорэчкэ и Iэпэр иубыдри пщIантIэ удзыпцIэ щхъуантIэм къыдыхьащ джэдкъазхэр къызэшхыдэкIыу, гъуэгу пщIантIэр дэнэ къэна, хадэбжэр Iуихри хьэсэ ны­къуэпщIэм еплъащ, нэгъуэщI къэкIыгъэхэри зэпиплъыхьащ, тетIысхьэпIэм тетIысхьащ.

Къуажапщэм къыщыщIэдзауэ къуажэкIэм нэс уэрам занщIэм зы цIыху, сабий, лIыжь, фызыжь, закъуэтIакъуэ инэмыщIа, дамылъагъуэу дыгъэр къухьэным нэблэгъэху, зэанэзэпхъур уэрамым тесащ. Абы хэту хыв гъуахъуэ макъ зэкIэлъигъэпIащIэу къуажапщэмкIэ къыщыIуащ: уэрам сабэр уафэм нэсу и щIыбагъым иту, и щхьэр егъэзыхауэ, зы хыв домбей уэрамыкум иту хьэмкIэу къежэхырт.

— «Дисэ и хывыр къокIуэж»,- къицIыхуащ хывыр Верэ.

— Вот она буйволь нанэ, Лорэчкэ!

— Какой он большой и черный!

3и нэм лъы къытелъэдауэ, зи шкIэм тегужьеикIауэ къэкIуэж хывым щхъуэкIэплъыкIэ мыцIыхур щилъагъукIэ, ищIэнур фщIэртэкъэ!

УзижэгъуэнитIым и махуэщ абы ищIар: хыв губжьар уэрамыкум иуващ, къэплъащ, адрей уэрамыбгъум нэс пхэкIэ икIуэтщ, къилъри хывыр къезэуэну зи пщIыхьэпIэ къэмыкI фыз хьэщIэ бэлэрыгъар бжьакъуэпэкIэ зэридзэу щIидзащ. Хъыджэбз цIыкIур кIийуэ пщIантIэм дэлъэдэжри Дисэ къигъэпхъэращ. Ауэ, Диси, Дисэ и гъущI гуахъуэри, лIыжь-фызыжь къызэхуэжэсахэри къыфIэмыIуэ­хуу, хывым фызыр яфIиукIыу хуежьащ.

Верэ ажал нэрылъагъум къезыгъэлар и бостейр щри­гъэдым щыгъуэ, и лIым едаIуэу моднэ ныкъуэу иримыгъэ­щIу, моднэ нэс зэрыригъэщIар — и бостей щIыбым бжьа­къуэ дэIупIэ зэрыхуригъэщIар арщ. Хывым зридзэурэ ны­бэгукIэ щIым зыхэзыIуба фызым, насып иIэти, бостеикIэм хывыбжьэр фIэнэри бостей моднэр бжьэкIэ щихащ, и бжьэм фIэна шынагъуэм езауэу хывыр щIэпхъуэри фыз ныкъуэтIэщIыр куэбжэпэ сабэм къыхэнащ. Абы хэту лэ­жьакIуэ къикIыж цIыхухэри къызэхуэжэсри Муштэхьид и фызыр унэм щIахьэжащ, колхоз машинэри къагъэсри Налшык больницэм къашэжащ. Ар и хэкIыжыкIэу, хыв лъхуам и зэранкIэ, Верэ и заграничнэ бостей моднэр ямы­лъагъуу къуажэ хъыджэбзхэр хэкIыжащ. Лорэчки шкIэ­рышэ имышхыу и анэм и гъусэу яшэжащ.

Хывым ищIа фэбжьыр Алий жраIэжри, уоху, алыхь: хывыp yукIыным къеблагъэ, Iейуэ иукIащ, ауэ щIаукIар хывым иджыпсту уеупщIами ищIэркъым: бостей зэфIит­хъар езым нэхърэ зэрынэхъ лъапIэри, илъэситху лъандэ­рэ къыдэмыхьэжа нысэр лIэнкъэнэну зэригъэщтари иджы­ри ищIэркъым.

Нобэ лъхуарэ ирихьэлIэу щытмэ, «сызытраукIар мы­рат» жиIэу укъигъэнэнукъым, Верэ и бостейм хуэдэ пщыгъ­мэ. Сыт епщIэн? — апхуэдэу къигъэщIащ хывыр.

Вери тхьэмахуэ дэмыкIыу дыркъуэ къытемынэу хъу­жащ, ауэ къуажэм щыкIуэжкIэ дэнэ къэна, къалэм щы­дэткIи моднэ бостей хущимытIэгъэжу тхьэ еIуэ и лIым.

11. ГУРЬIIУЭГЪУЭЩ

НАЛО А.

Паркым зы цIыхубз гъэщIэрэщIа гуэр итт, къабзий кIыхь гъэщIэгъуэн гуэрхэмкIэ гъэдэха пыIэ хужь ин гуэ­ри щхьэрыгъэсауэ.

Абы и нэкIу егугъупэу лам ауаныгъэ хэлъу зы гуфIэ­кIэ гуэрым тету, езым хуэдэу зыщымыхуэпыкIауэ аллеем щызекIуэ цIыхухэм яхэплъэрт. И IэплIэм ис джэду фIы­цIэм емыплъурэ, фIэмыIуэху щIыкIэурэ, Iэ дилъэу цIыху­бзыр щытт. Ар, дауи, зыгуэрым поплъэ икIи абы и щыты­кIэм, зэрымыгузавэм къаIуатэ а зыпэплъэ цIыхур къызэ­рыкIуэным абы шэч лъэпкъ къызэрытримыхьэр.

НыбжькIэ мыщIалэжу, ауэ иджыри хэмыкIуэтэщауэ зы цIыхубз гуэр, и Iэблэм мазищ зи ныбжь сабий жея те­лъу, паркым къихьащ. Фызым и нэкIур фагъуэми, япэм иIа дахагъыр фIэкIуэдыпатэкъым.

И теплъэ эакъуэми, зи плъыфэр щIэкIа, ауэ иджыри гуакIуэ Iупэхэми, и нэ фIьщIэшхуэ нэщхъейхэм къурашэу къыщхьэщыт набдзэ дахащэми — псоми къаIуатэрт и щIалэгъуэм ар гуакIуэу зэрыщытар. Ар зыгуэрым нэкIэ лъы­хъуэрт, ауэ и плъэкIэм а нэщхъеифэр текIыртэкъым. Абы зэуэ къилъэгъуащ пыIэ щхьэрыгъыу, джэдури зи Iэблэм тесу щыт цIыхубзыр. Абы зэрыIуплъэу, фызым лъы къы­щIыхьэжащ: и Iупэхэр зэтрикъузащ, бауэкIэщI къызэры­хъуар къыуагъащIэу и пэщхъын цIыкIухэр зэкIэщIэкI-­зэкIэщIыхьэжу хуежьащ, набдзэ фIыцIэ арыншэуи къуан­шэхэм нэхъри заукъуэншащ, и нэ нэщхъей фIыцIэшхуитIри апхуэдизкIэ къызэщIэнати, зи ишэгъуэ хъуа хъыджэбзхэр къефыгъуами емыкIутэкъым, апхуэдизкIэ гуащIэу ахэр къэлыдауэ пыджэрти, езы ажал дыдэр фIэлIыкIынт.

ПыIэ зыщхьэрыгъ цIыхубзми абы гу лъитащ. Ауан­шыгъэ зыхэлъ гуфIэкIэр зэуэ текIащ, цIыху блэкIхэм еплъыныр къигъэнащ, дыгъэ къухьэм еплъу, фыз къакIуэр имылъагъуфэ зытригъауэри увыжащ, джэдуми къытелъэ­щIыхь Iэпэхэм я гуапагъэм зыщихъуэжым, зи IэплIэ исым зыгуэр къызэрыщыщIар къищIэри, нэхэр къызэтрихри зи­плъыхьу хуежьащ.

КъызэрыкIуэм и псынщIагъым химыгъахъуэу къакIуэу­рэ, сабий зыIыгъ фызыр абы и деж къызэрысу сэмэгу­рабгъумкIэ зигъазэри зэрылъэкIкIэ цIыхубзым и напэ сэмэгум еуащ, и Iэпхъуамбэхэм я дамыгъэр тридзэу.

Шляпэ хужьыр къыщхьэрылъэтри аллее сабэм ирижащ, лъэужьитI къигъанэу, джэдури, къэхъуар къыхуэмыщIэу, зэуэ щIым къелъыхащ, ауэ, пыIэ ежэжьар щилъагъум, къыдэджэгуу къыфIэщIри, дэлъей, къелъыхыу пыIэм кIэ­лъыщIэпхъуащ; цIыху блэкIхэм къэхъуар къагурымыIуэу цIыхубзыр къаувыхьу щIадзащ, сабий зыIыгъ фызыр Iуэ­хум зыри химыщIыкI хуэдэу, мыпIащIэу, а зэрыкIуэм хуэдэурэ, и гъуэгу хигъэщIу ежьэжащ, и сабий жейри къэуша­къым.

Аллеем джэдум къыщрихуэкIыурэ сабэм иуа, хужьы­гъэ зыхэмылъыж и пыIэр къищтэжри, зы псалъи жимыIэу, цIыхубзыр чыпэм хыхьащ.

«ФIыщэу зылъагъуу» зезыхьам къыщыгъупща джэду фIыцIэри, гупсысэу зы тэлайкIэ щытри, къэзыгъанэу ежьэ­жам и лъэужьымкIэ иунэтIащ.

Къэхъуа псори зылъэгъуауэ, мыбы и гъунэгъуу щыс лIыжьми газет ныкъуэеджэм щIидзэжри куууэ щатэри жиIащ: «3ы псалъэ жимыIами, гурыIуэгъуэщ»,- жи­Iэри.

3и Iуэху хэмылъхэм къэхъуа Iуэхур гуауэ ящыхъуауэ, пыгуфIыкIхэри, щхьэж и Iуэху яужь ихьэжащ.

Скачать 1,59 Mb.

страница 3/6
Дата конвертации 23.10.2013
Размер 1,59 Mb.
Тип Документы

Урокыр зытеухуар: Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэм и ещанэ 1ыхьэр.

Мурадыр: «Напэ» псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;

— Уд фызыжьым и образымк1э Налом къигъэлъэгъуар убзыхун;

-Ди зэманым балладэм щхьэпэныгъэу щи1эр щ1эгъэхуэбжьэн;

-Балладэм и гупсысэ нэхъыщхьэр псалъэжьхэм епхын;

-Бзэм зегъэужьын.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр: Нало Заур теухуа гъэлъэгъуэныгъэхэр(выставкэ),усак1уэм папщ1э гъэхьэзыра видео теплъэгъуэр,презентацэхэр,псалъалъэхэр,тест лэжьыгъэхэр,сурэтк1э зэрылэжьэну 1эмэпсымэхэр.

Урокыр зэрек1уэк1ынур.

1.     Пэублэ ,урокым хуэзыгъэуш дакъикъэхэр.

Егъэдж. Махуэф1к1э нобэ сыфхуоусэ,ц1ык1ухэ!Ди дерсым сыхуейт ирищ1эддзэну мы видео пычыгъуэмк1э.(Нало Заур теухуауэ Москва щрагъэк1уэк1а пшыхьым и зы пычыгъуэ доплъ).

Иджы сыхуейт къызжеф1эну-хэт ди псалъэмакъыр зыхуэгъэпсар нобэ?

 Еджак1уэхэм упщ1эм и жэуапыр къа1уатэ.

Егъэджак1уэ:Пэж дыдэщ.Мы пычыгъуэм зытепсэлъыхьыр лъэпкъ литературэм зи гуащ1эр щхьэузыхь хуэзыщ1а,ц1ыхупсэм ехуэбыл1э тхыгъэ купщ1аф1эхэр зи къалэмыпэм къыщ1эк1а,псоми ф1ыуэ ялъагъу Нало Заурщ.

2.Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын

Нало Заур и 1эдакъэщ1эк1ыу дэ дызэджахэм сыт хуэдэ тхыгъэр ящыщ?-мы упщ1эр хэзышэ дощ1 унэ лэжьыгъэр къэпщытэжыным.Адэк1э едджак1уэхэр къыдопщытэж.

1)    Упщ1эхэмк1э гъэлэжьэн

Егъэдж.

Доскам псори доплъ.

   Доскам Нало Заур  и сурэтыр ф1элъщ, итщ:

-Сытк1э пыщ1а мы илъэс бжыгъэхэр Нало Заур и гъащ1эм?

    1. 1928гъ.          4. 1954гъ.

    2. 1948гъ.          5. 1956гъ.

    3. 1952гъ           6. 1959гъ.

1928гъ – Старэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ.

1948гъ – къуажэ еджап1эр ф1ы дыдэу къеух, Къэбэрдей – Балъкъэр пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмрэ и отделенэм щ1от1ысхьэ.

1952гъ – пединститутыр къеух, институтым егъэджак1уэу лэжьэн щ1едзэ.

1954гъ – Къэбэрдей – Балъкъэр щ1эныгъэ – къэхутак1уэ институтым щылэжьэн щ1едзэ ик1и, нобэр къыздэсым, Нало Заур абы щолажьэ.

1955гъ – къыщыщ1эдзауэ дунейм къытохьэ Налом и тхыгъэхэр, сабийхэм папщ1э усэхэр, рассказхэр, новеллэхэр.

Егъэджак1уэ:А лъэхъэнэм щыщ1едзэ Налом ди пащхьэ кърилъхьэн тхыгъэ купщ1афэхэр.Апхуэдэщ «Ц1ыху напэ» балладэри.Сыхуейт къызжеф1эну-сыт балладэк1э дызэджэр?

Балладэ-тхыдэм е таурыхъым къыхаха сюжетым тету строфаурэ тха усыгъэ мыин.

Строфа-усэм и 1ыхьэ,часть стиха.

Усэ-усак1уэхэм зэгъэк1уауэ псалъэк1э зэхалъхьа тхыгъэ мыин.

Усак1уэ-усэ зэхэзылъхьэ ц1ыху.

Усэн-слагать,сочинять.

Зытепсэлъыхьым и щытык1эр зэхэщ1эгъуэу, нэгум къыщ1агъэхьэу, къа1уэтэж щхьэк1э, ар нэгъуэщ1 зыгуэрым ирагъэщхьу, ирагъапщэу къыщыжа1эм деж зэгъэпщэныгъэк1э йоджэ.

«Ц1ыху напэ» балладэм гупсысэ нэхъыщхьэ хуэхъуар абы дызыхуриджэм к1эщ1у тепсэлъэхьын.

Егъэдж. Дэтхэнэ зы усэ едзыгъуэми фыкъеджурэ къыжыф1эт. Усак1уэм удым и шыфэл1ыфэр къыщигъэлагъуэк1э сыт хуэдэ художественнэ 1эмал къигъэсэбэпми.

— Сыт хуэдэ пщ1э хуищ1рэ усак1уэм ц1ыху напэм? Фэ сыт хуэдэ щытык1э хуви1э ц1ыху напэм?(Дэтхэнэ зы усэ едзыгъуэми усак1уэм къыщегъэсэбэп зэгъэпщэныгъэхэр,егъэлеиныгъэхэр.Усак1уэм напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ди пащхьэ псалъэк1э кърелъхьэ.Ц1ыхум псори ф1эк1уэд хъунущ,ауэ напэр зыф1эк1уэдам ф1ок1уэдыр гъащ1э дахэр,дыгъэпс гуапэр,ц1ыхум и пщ1эр.

Егъэдж. Балладэр усэу тхащ. Абы усак1уэм и зэхэщ1эныгъэм нэмыщ1и гъащ1эм къыщыхъу, л1ыгъэк1э гъэнщ1а 1уэхугъуэ къегъэлъагъуэ. Балладэм и щапхъэщ «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ», «Ц1ыху напэ» усэхэр.

3.Темэщ1эр егъэджын.

Макъамэ гуапэ къоуэ.

1)    Нало Заур и балладэ «Ц1ыху напэ» ещанэ 1ыхэм егъэджак1уэр къоджэ.

2)    Упщ1эхэр гъэувын,абыхэмк1э ещанэ 1ыхьэр зэпкърыхын.

Ет1уанэ илъэсым удыр къэк1уащ л1ыжьым и напэр ихьыну.

-Напэм и п1эк1э удым ихьар сыт?

Удым напэр л1ым къыщримытым сыт хуэдэ 1эмал удыр зыхуэк1уэр?

Сыт усак1уэм л1ымрэ удымрэ я образхэмк1э дигъалъэгъуну зыхуеяр?

Ц1ыхугъэр, ц1ыху напэр псом ящхьэу зэрыщытыр дауэ къигъэлъэгъуэфа усак1уэм?

— Ц1ыхугъэмрэ напэмрэ псом нэхърэ нэхъ лъап1эу зэрыщытыр Нало Заур къыдигъэлъэгъуащ л1ым и напэм и п1эк1э и гурыгъугурыщ1эхэр къызэри1уатэ и бзэр, дунейм и дахагъэр зэрилъагъу и нэр, уеблэмэ, и псэ дыдэри удым зэрыритымк1э. И бзэм, и нэм, и псэм нэхърэ нэхъ лъап1эу къилъытащ абы и ук1ытэмрэ и напэмрэ.

Ижь – ижьыж лъандэрэ адыгэм псом япэ иригъэщу щытащ и напэр, и ц1ыхугъэр. Адыгэхэм пщ1э хуащ1ырт напэ зи1э, ц1ыхугъэ зыбгъэдэлъ ц1ыхухэм. Нэмыплъ иратырт зи напэпэри зи ук1ытэри 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абы и щыхьэтуи ди бзэм псалъэжь куэд къыхэнащ. Фэ фщ1эуэ п1эрэ ц1ык1ухэ, апхуэдэ псалъэжь.(слайдым тет псалъэжьхэр еджак1уэхэм я пащхьэ идолъхьэ)

— Псэр ящэри напэ къащэху.

— Нэмыс зи1эм насып и1эщ.

-Ук1ытэр щагъуэтым бжэкъуагъым къуэсащ.

— Напищэ нэхърэ зы напэ.

-Ук1ытэ зимы1эм ц1ыхугъи и1энкъым.

Балладэр Щоджэнц1ык1у Алий и фэеплъу зэрыщытар дощ1э. Хэт жи1эн сыту п1эрэ усак1уэм мы тхыгъэр Щоджэнц1ык1у Алий фэеплъ щ1ыхуищ1ар?

— Нало Заур и балладэр Щоджэнц1ык1у Алий. Сэ къызэрысщыхъумк1э, фэеплъ щ1ыхуищ1ар мыращ: нэмыцэ концлагерым щисам бийм къыпиубыдауэ щытащ нэмыцэ зэрыпхъуак1уэхэм я тек1уэныгъэхэр зыгъэлъап1э усэ иригъ итхын хуейуэ. Арщхьэк1э Алий и Хэку, и напэ епц1ыж нэхърэ л1эмэ, гъащ1э итмэ нэхъ къищтащ. Нэмыцэ1уэм Алий къыдисахэм къызэра1уатэжамк1э, абы куэдрэ жи1эрт «Зи лажьэр к1уэду зы1уэтэжынха адыгэ напэр фымыгъэулъий, зывмигъэдзыхэу ди нэмысыр фхъумэ». Ик1и жып1э хъунущ Щоджэнц1ык1у Алий и напэм, и ц1ыхугъэм, и Хэкум емыпц1ыжу а псом щхьэк1э гъащ1эр итауэ.

Егъэджак1уэ: Пэжщ, Щоджэнц1ык1у Алий илъагъу хъууэ щытакъым, нэмыплъ иритырт зи напэм, зи Хэкум епц1ыжа, ц1ыхугъэ зыбгъэдэмылъ ц1ыхухэм. «Зи напэ епц1ыжа ц1ыхум и 1эр ф1еипсым хэлъу и гъащ1эр ехь», — жи1эрт абы.

И дуней тетык1амк1и, и                              къигъэнахэмк1и къилэжьыжащ Щоджэнц1ык1у Алий апхуэдэ тхыгъэ гъуэзэджэ, нэгъуэщ1                          куэди фэеплъ хуащ1ыныр.

Нало Заур и «Ц1ыху напэ»  балладэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ ц1ыхугъэм, ц1ыху напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эм, ар пщэ е къэпщэху зэрымыхъунум. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджырей зэманым куэдрэ дыщрохьэл1э мылъку зэхуэхьэсыным дихьэхауэ напэ 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абыхэм къагуры1уэкъым мылъкур уэсэпсу зэрыщытыр. Уэсэпсым ещхьу мылъкур к1уэдыжынущ. Къэнэнур напэмрэ ц1ыхугъэмрэщ. Ар зыщывмыгъэгъупщэ фигу илъу фыпсэумэ, ц1ык1ухэ, пщ1э къыфхуащ1у дунейм фытетынщ.

Сыхуейт удым и теплъэр зы еджак1уэм ищ1ыну,адрейм напэ,ук1ытэ,л1ыгъэ псалъэхэр тегъэщ1ап1э зыхуэхъун теплъэгъуэ.

4.Егъэбыдыл1эн

Балладэм и ещанэ 1ыхьэм еджак1уит1-щы къегъэджэн,еджак1уит1ым тест лэжьыгъэхэр егъэщ1ыжын:

Тхыгъэм и ещанэ 1ыхьэр:

Гъатхэ пасэщ ещанэгъэр,

Пц1ащхъуэр уэгум щос.

Л1ыжьыр дэлъу гъатхэ дыгъэм

Удыр занщ1эу къос.

Блэм и щ1ыфэу,уд 1э гъурыр

Л1ыжьым ще1усам,

Щылъэтащ ар щтэ1эщтаблэу

Ещхьу блэ зэуам.

«Сувы1энкъым,-же1э удым,-

Сымыхьау уи напэр;

Зэф1эк1ынущ ар тынш дыдэу,

Що1усам си 1эпэр.

Уи ук1ытэр сэ къызэптым,

Уи яужь сок1ыж.

Уи ни уи бзи уи ук1ытэм

Пэк1уэу узотыж.

Ц1ыхум напэр зэран хуохъур,

Насыпыншэ ещ1.

Ц1ыхум напэр игъэлъап1эм,

Мэхъу и жыпыр нэщ1».

«Хьэуэ!-же1эр л1ыжьым игук1э,

Зыми димыхьэх:

-Сэ схуэщэнкъым си ук1ытэр,

Ухуейм ,си псэр хэх».

«Ауэ щыхъук1э,-же1эр удым,-

Телъхьэ ин пхузощ1:

Дунеишхуэм ф1ыгъуэу телъыр

Уасэ хъун къысф1ощ1».

«Хьэуэ!-же1э л1ыжьым игук1э,-

Ухэмыт а псом,

Ук1ытэншэу упсэу нэхърэ

Нэхъыф1щ умыпсэум».

«Армэ хъункъэ,-же1эр удым,-

Уи псэр къыхызох.

Уи ук1ытэр уигу пымык1ым,

Ар,ухуейм,къыхэх».

«Захуэщ!»-же1эр.Зы тк1уэпс закъуэ

Нэпсу нэм къыщ1ок1.

Асыхьэтым щ1оху и лъакъуэр,

Хуэму и псэр хок1.

Тест упщ1эхэр:

1.     Хьэтуей  къуажэм  къыщалъхуащ…

а) К1уащ Бет1ал

б) К1ыщокъуэ Алим

в) Щомахуэ Амырхъан

г) Нало Заур

2.     Нало Заур и «Ц1ыху напэ» тхыгъэр жанр и лъэныкъуэк1э…

а) рассказ;

б) поэмэ;

в) балладэ;

г) усэ.

3.     Налом и балладэ «Ц1ыху напэр» фэеплъ хуищ1ащ …

а) Щоджэнц1ык1у Алий

б) Джэдгъэф Борис

в) Журт Биберд

4.     Цы 1уданэ плъыжьк1э и нэр

      Хуэдэщ къэдыхьам,

       Псалъэу жи1эм гур е1ул1эр

       Ещхьу хуэш хыхьам.

Мы псалъэхэр зытепсэлъыхьыр…

        а) гъуэгурык1уэ;

        б)     уд;

в) л1ым

5. «Ц1ыху напэ» балладэр щыдодж :

а) етхуанэ классым;

б) еханэ классым;

в)ебланэ классым

Классым щ1эс еджак1уэхэм упщ1э яхуэгъэувын:мы балладэр зытепсэлъыхь 1уэхугъуэр фэ къыфщыщ1амэ,сыт хуэдэ хэк1ып1эт фи1энур?Дунейм фи бзэр бзэрабзэу,нэхэм дахагъэ псори ялъагъуу фытетынут напэр фимы1эжу,хьэмэрэ а дахагъэ псоми фыхуэхейуэ,ауэ фи напэр хужьу фыпсэупхъэт.Жэуап къатахэм ипкъ итк1э еджак1уэхэр гупит1у гуэшын.Апхуэдэ жэуап къызэратам тегъэщ1ауэ я гупсысэхэр утыку кърегъэлъхьэн.

5.Урокыр зыщ1экъуэжын

Егъэдж.Ц1ык1ухэ,урокыр иризэщ1эткъуэжыну сыхуейт синквейнк1э.Псалъэхэр:напэ,л1ыгъэ,уд

— Ди зэманым сытк1э щхьэпэ мы балладэр.

6.Унэ лэжьыгъэр етын.

1.     «Ц1ыху напэ» балладэм гъэхуауэ еджэн;

2.     Тхыгъэм и  ещанэ 1ыхьэр  гук1э зэгъэщ1эн.

3.     Гупсысэ к1эщ1 тхын «Напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э щы1экъым».

4.      

7.Дамыгъэхэр гъэувыжын.

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ

Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.

Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ.  (Нало З.)

Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ. (Нало З.)

Мастер-классым и темэр:  «Псэм и пэ- напэ.»

Мастер-классым и темэр:

«Псэм и пэ- напэ.»

Мастер-классым и мурадхэр:   1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;   2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм гъэсэныгъэ хэлъхьэн;   3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;   4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.

Мастер-классым и мурадхэр:

1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;

2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм гъэсэныгъэ хэлъхьэн;

3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;

4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.

- Псэ къабзэ -Псы къабзэ -Пэж къабзэ  - Напэ къабзэ  - Уафэ къабзэ - Жьы къабзэ  -Тетрадь напэ

— Псэ къабзэ

-Псы къабзэ

-Пэж къабзэ

— Напэ къабзэ

— Уафэ къабзэ

— Жьы къабзэ

-Тетрадь напэ

Урокым и эпиграфыр: Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр, Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр. Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр, Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ напэрщ. Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ, Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ. ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр, МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.

Урокым и эпиграфыр:

Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,

Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр.

Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,

Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ напэрщ.

Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,

Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ.

ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр,

МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.

Псалъэжьхэр

Псалъэжьхэр

  • Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
  • Напэм ипэ псэр ихуэ.
  • Псэр щэи напэ къэщэху.
  • Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
  • Напэм техуэр жьэм же1эр.
  • Напэ зиIэм лIыгъэ хэлъщ.
  • Напэ зимыIэм сыт епщIэфын!?
  • Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ.
  • ЛIэныгъэми лIыгъэ хэлъщ
  • Е улIын, е улIэн
  • Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
  • Е пщIауэ фIым ущымыгугъ.
  • ИкIута из хъужыркъым

-Сэ си напэр , си ук1ытэр Уэстынкъым, сыл1ам! СУхуейм сыгъэпщыл1. С1ихыфыну сэ си напэр Дунейм теткъым зыл1. Напэншэу сыпсэу нэхърэ  нэхъыф1щ сымыпсэум 1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.

  • -Сэ си напэр , си ук1ытэр
  • Уэстынкъым, сыл1ам!
  • СУхуейм сыгъэпщыл1.
  • С1ихыфыну сэ си напэр
  • Дунейм теткъым зыл1.
  • Напэншэу сыпсэу нэхърэ
  • нэхъыф1щ сымыпсэум
  • 1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.

ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.

ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр Нурыр къыщхьэщех, ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу ЛIым и хьэдэр дах. Напэ къабзэм и къабзагъэр Дыгъэ бзийм хыхьащ. Анэ псоми я быдзышэм Бынхэм хухалъхьащ.

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр

Нурыр къыщхьэщех,

ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу

ЛIым и хьэдэр дах.

Напэ къабзэм и къабзагъэр

Дыгъэ бзийм хыхьащ.

Анэ псоми я быдзышэм

Бынхэм хухалъхьащ.

Псалъэжьхэр

Псалъэжьхэр

  • Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
  • Напэм ипэ псэр ихуэ.
  • Псэр щэи напэ къэщэху.
  • Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
  • Напэм техуэр жьэм же1эр.
  • Напэ зи1эм л1ыгъэ хэлъщ.
  • Напэ зимы1эм сыт епщ1эфын!?
  • Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ.
  • Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ
  • Е ул1ын, е ул1эн
  • Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
  • Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ.
  • Ик1ута из хъужыркъым

Бзэм зегъэужьын:   Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,  къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.  Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху

Бзэм зегъэужьын:

Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,

къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.

Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху

Какие б ни грозили горести,  И где бы ни ждала беда,  Не поступайся только совестью ,  Ни днем, ни ночью, никогда!

Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью , Ни днем, ни ночью, никогда!

Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, - жаIэ.  Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей -  Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм  Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм.  Елгъэр Кашиф .

Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, — жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей — Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм. Елгъэр Кашиф .

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус,  Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей,  Губжьк1э бдзы уи 1упсыр  Къэнэжынщ уи дей.  К1уащ Бет1ал.

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей. К1уащ Бет1ал.

« Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ псом нэхърэ нэхъапэр,си щ1алэ.»

« Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ

псом нэхърэ нэхъапэр,си щ1алэ.»

«…Напэр - лъапIэщ,  Напэр сытми япэщ!...»  (Жылэтеж Сэлэдин)

«…Напэр — лъапIэщ, Напэр сытми япэщ!…»

(Жылэтеж Сэлэдин)

«…  Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри  Пумылъыт уэ напэм.  ЛIы хуэдэлIым псэри гури  Къуитыфынущ япэ!...»      (Жылэтеж Сэлэдин )

«… Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри Пумылъыт уэ напэм. ЛIы хуэдэлIым псэри гури Къуитыфынущ япэ!…»

(Жылэтеж Сэлэдин )

Синквейн: Напэ къабзэщ,хужьщщ; къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ; хеящ1э нэхъыщхьэщ; Псэм ипэ- напэ.

Синквейн:

Напэ

къабзэщ,хужьщщ;

къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ;

хеящ1э нэхъыщхьэщ;

Псэм ипэ- напэ.

Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди цIыху, ди адыгэ напэм.  Лъэпкъ напэр тезымыхын, зи напэр темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!

Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди цIыху, ди адыгэ напэм.

Лъэпкъ напэр тезымыхын,

зи напэр темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!

Берычэт бесын!

Берычэт бесын!

Слайд 1Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ
Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.


Слайд 2Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ.
(Нало З.)

Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ. (Нало З.)


Слайд 3Мастер-классым и темэр:

«Псэм и пэ- напэ.»

Мастер-классым и темэр: «Псэм и пэ- напэ.»


Слайд 4Мастер-классым и мурадхэр:

1. напэ псалъэм и мыхьэнэр

гъэбелджылын;

2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм

гъэсэныгъэ хэлъхьэн;

3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;

4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.

Мастер-классым и мурадхэр:  1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;  2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр


Слайд 5- Псэ къабзэ
-Псы къабзэ
-Пэж къабзэ
— Напэ къабзэ

— Уафэ къабзэ
— Жьы къабзэ
-Тетрадь напэ

- Псэ къабзэ-Псы къабзэ -Пэж къабзэ - Напэ къабзэ - Уафэ къабзэ- Жьы къабзэ  -Тетрадь напэ


Слайд 6Урокым и эпиграфыр:
Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,
Я фIэнэхъ къабзэр,

мазэм хуагъадэр.
Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,
Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ

напэрщ.
Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,
Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ.
ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр,
МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.

Урокым и эпиграфыр:Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр.Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,Нэхъ къабзэу сыбжыр


Слайд 7Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
Напэм ипэ псэр ихуэ.
Псэр щэи

напэ къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зиIэм

лIыгъэ хэлъщ.
Напэ зимыIэм сыт епщIэфын!?
Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ.
ЛIэныгъэми лIыгъэ хэлъщ
Е улIын, е улIэн
Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
Е пщIауэ фIым ущымыгугъ.
ИкIута из хъужыркъым

Псалъэжьхэр Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщНапэм ипэ псэр ихуэ.Псэр щэи напэ къэщэху.Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.Напэм техуэр жьэм


Слайд 8-Сэ си напэр , си ук1ытэр
Уэстынкъым, сыл1ам!
СУхуейм сыгъэпщыл1.
С1ихыфыну

сэ си напэр
Дунейм теткъым зыл1.
Напэншэу сыпсэу нэхърэ
нэхъыф1щ

сымыпсэум
1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.

-Сэ си напэр , си ук1ытэр Уэстынкъым, сыл1ам!СУхуейм сыгъэпщыл1.С1ихыфыну сэ си напэр Дунейм теткъым зыл1.Напэншэу сыпсэу нэхърэ


Слайд 9ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.

ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.


Слайд 10Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр
Нурыр къыщхьэщех,
ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу
ЛIым и

хьэдэр дах.
Напэ къабзэм и къабзагъэр
Дыгъэ бзийм хыхьащ.
Анэ псоми я быдзышэм
Бынхэм

хухалъхьащ.

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэрНурыр къыщхьэщех,ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэуЛIым и хьэдэр дах.Напэ къабзэм и къабзагъэрДыгъэ бзийм хыхьащ.Анэ псоми


Слайд 11Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
Напэм ипэ псэр ихуэ.
Псэр

щэи напэ къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ

зи1эм л1ыгъэ хэлъщ.
Напэ зимы1эм сыт епщ1эфын!?
Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ.
Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ
Е ул1ын, е ул1эн
Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ.
Ик1ута из хъужыркъым

Псалъэжьхэр Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщНапэм ипэ псэр ихуэ.Псэр щэи напэ къэщэху.Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.Напэм техуэр жьэм


Слайд 12Бзэм зегъэужьын:

Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,

къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.

Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху

Бзэм зегъэужьын: Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху, къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу. Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу


Слайд 13Какие б ни грозили горести,
И где бы ни ждала

беда,
Не поступайся только совестью,
Ни днем, ни ночью, никогда!

Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью, Ни днем,


Слайд 14Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, — жаIэ.
Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей


Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм
Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм.

Елгъэр Кашиф.

Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, - жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей - Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу


Слайд 15Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус,
Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей,
Губжьк1э бдзы

уи 1упсыр
Къэнэжынщ уи дей.

К1уащ Бет1ал.

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей.


Слайд 16«Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри

дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ
псом нэхърэ нэхъапэр,си щ1алэ.»

«Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ псом нэхърэ нэхъапэр,си щ1алэ.»


Слайд 17«…Напэр — лъапIэщ,
Напэр сытми япэщ!…»
(Жылэтеж Сэлэдин)

«…Напэр - лъапIэщ,   Напэр сытми япэщ!...» (Жылэтеж Сэлэдин)


Слайд 18«… Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри
Пумылъыт уэ напэм.
ЛIы хуэдэлIым

псэри гури
Къуитыфынущ япэ!…»

(Жылэтеж Сэлэдин)

«… Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри Пумылъыт уэ напэм.  ЛIы хуэдэлIым      псэри


Слайд 19 Синквейн:
Напэ
къабзэщ,хужьщщ;
къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ;
хеящ1э нэхъыщхьэщ;
Псэм ипэ- напэ.

Синквейн:Напэ къабзэщ,хужьщщ; къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ; хеящ1э нэхъыщхьэщ; Псэм ипэ- напэ.


Слайд 20Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди цIыху, ди адыгэ напэм.

Лъэпкъ напэр тезымыхын,
зи

напэр темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!

Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди цIыху, ди адыгэ напэм.Лъэпкъ напэр тезымыхын,зи напэр темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!


Like this post? Please share to your friends:
  • Часто встречающиеся слова в егэ по русскому языку
  • Цыган ударение егэ
  • Час мужества пробил на наших часах исторические мотивы в лирике ахматовой сочинение
  • Цпсо экзамены онлайн
  • Часто встречающиеся карты на егэ по истории