Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм
зылI и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр
яхъумэжу. Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я
гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс
пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.
Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.
Cи
хэкууэ дыщэ губгъуэ,
ГъащIэщIэм
и епэр!
Кавказым
и щIы
фIыгъуэ,
Уи
теплъэм IэфI
ещI
псэр!
Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу
услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ
псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.
Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цIыхухэм я гъащIэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум
папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.
Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.
Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ
къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэкIэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр
зыщыхуарзэ хэкужьым къэмыкIуэным щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм
зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын
хуейщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди
хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.
Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уэгум сихьамэ,
щIылъэр си плъапIэщ.
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уи лъахэм ситмэ,
Дунейм сытеткъэ.
Уи къалэ щхьиблым
Зыкърагъэщхьу,
Вагъуэзэщиблыр
жэщкIэ зэщIоблэ.
А блым еянэу,
Нэхъ ябжьэфIэкIыу
Си гурыфIыгъуэр
Адыгэ хэкукъэ.
Уи нэр зыдэплъэм
Уи лъэр лъоIэсыр.
Къырым илъ дани
УлъэIэсакъэ.
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уи лъахэм ситмэ,
Дунейм сытеткъэ.
Кабардино – Балкарский
государственный университет
им.Х.М. Бербекова
Конкурс эссе
«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»
«Напэр псэм япэщ»
Лэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:
Бахъсэн къалэ дэт етхуанэ
еджап1эм
и епщ1анэ классым щеджэ
Азычэ Ясминэ
Егъэджак1уэр:
Л1эужь Залинэ
2021 гъ.
Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар. ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, усакIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэуал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэуатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр. Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ. ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI… ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.
Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр
Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!
Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,
ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!
ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,
КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,
Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ
ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.
Окопым
къокIри зы долъей,
И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.
ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,
Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.
Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.
ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:
«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,
Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»
1945 гъ.
(К1ыщокъуэ
Алим)
Насыпыншэ
ФакъырэIус къыхихыу зы лIыжь гъуэгу Iуфэм Iутти, шууэ блэкI щIалэм зыкъригъэзыхри, лIыжьым нэмыплъ къриту, и нэкIур щIопщкIэ къыхурихулэкIащ:
— НасыпыфIэ ухъу! — жиIащ лIыжьым, шууейм кIэлъыплъурэ.
А псори зылъэгъуа нэгъуэщI щIалэм зэхихар зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу: «Къуршыр уи тэмакъщ», — жиIащ.
— Хьэуэ, — педзыж абы и псалъэхэм факъырэм, — а шууейр насыпыфIэу щытамэ, апхуэдэ хабзэншагъэ IэщIэщIэнутэкъым…
ЦIыхур къызыхуэтыншэмэ…
Махуэ нэщхъей уэлбанэрилэхэм ящыщ зым ПIытIэкIэ зэджэ щIалэ цIыкIур уэшхым унэм «щIиубыдати», и щхьэ здихьын имыщIэу и адэм и хъуреягъыр къиуфэрэзыхьырт. ПIэщIэгъуэкIэ тхыгъэшхуэ зытхын хуей адэм, и бын пажэм Iэмал лъэпкъ щыхуимыгъуэтым, куэду зэтелъ тхылъымпIэхэм дунейпсо картэр зэрыт сурэтыр къахихщ, цIыкIу-цIыкIуу зэфIитхъри, къуэм иритащ, псори зэрыщытауэ зэхигъэувэжыну унафэ хуищIри.
Пэжу, къалэныр тыншхэм ящыщтэкъым, ауэ адэм зэригъэщIэгъуэнур ищIэртэкъым дакъикъипщI нэхъ тримыгъэкIуадэу щIалэ цIыкIум ар щызэхигъэувэжам.
— Ар дауэ? — игъэщIагъуэу щIоупщIэ адэр.
— Зыри гугъу хэлътэкъым, — къикIуэтыркъым щIалэ цIыкIури.
— Уэ къызэпта дунейпсо картэм и щIыбагъымкIэ цIыху сурэт тетти, мис а цIыху сурэтыр зэпкърыслъхьэжу напэкIуэцIыр къызэзгъэдзэкIыжа иужь дунейри зэтес хъужащ. Лэжьыгъэм щыщIэздзэм сегупсысащ, цIыхур къызыхуэтыншэмэ, дунейри зэтес зэрыхъунум.
Адэр пыгуфIыкIри, къуэм щабэу Iэ дилъащ.
«ЦIыхур къызыхуэтыншэмэ, дунейри зэтесщ», — куэдрэ щыкIэрэхъуащ адэм и щхьэм, аращ и тхыгъэм фIищари.
Ныбжьэгъу пэж
Игъашхэу, илъэс куэдкIэ зыхуей хуэзыгъазэу псэуа лIыр щылIэм, хьэри бгъурыгъуалъхьэри, и псэр хэкIащ.
Аращи, уафэм щызэрихьэлIэжа пситIыр «Жэнэт» зытетха куэбжэшхуэм Iутщ, абы и бгъумкIэ «Хьэ уи гъусэу удэмыхьэ» жиIэу нэхъ иныжу тетхэжащ. Арати, цIыхур псэухукIэ и хъуэпсапIэ жэнэтым мыкIуэу, и бгъумкIэ блэкIри, хьэмрэ езымрэ гъуэгу техьэжащ.
КIуэм-кIуэурэ, нэгъуэщI зы куэбжи IущIащ, мыбы тетхаIакъым, ауэ зы лIыжь дыдэ и бгъумкIэ щысти:
— Ди адэ, къысхуэгъэгъу, мы куэбжэр сыт зейр? — жиIэри еупщIащ.
— Жэнэтым, — и щхьэр Iэтауэ къет жэуап лIыжь цIыкIум.
— Абы хьэ пщIыгъуу удагъэхьэну?
— Ауэ сытми удагъэхьэну!
— ИпщэкIэ щыт куэбжэр сыт-тIэ зищIысыр?
— Жыхьэнмэщ. Зи ныбжьэгъу хыфIэзымыдзэхэрщ жэнэтым дагъэхьэр.
ФIыр зэи кIуэдынукъым
И дерс купщIафIэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа егъэджакIуэр махуэ гуэрым студентхэр зыщIэс пэшым щIыхьэщ, сом щитху иIэтри: «Мы ахъшэм хуей къыфхэтмэ, изот», — щыжиIэм, пэшым цIыхуу щIэсым я Iэр яIэтащ.
— Ар фэстын и пэ къихуэу, — жиIэри егъэджакIуэм ахъшэр зэкIуэцIиушкIумпIащ. — Иджыри мы ахъшэм хуей къыфхэт? — къытрегъэзэж абы и упщIэм. Аргуэру псоми я Iэр яIэтащ.
«Арамэ», — жеIэри, ахъшэр хыфIедзэ, вакъэкIэ и гущIыIум йоувэж. ЕгъэджакIуэм къещтэж ахъшэ фIей ныкъуэчатхъэр, ушкIумпIар. «Иджыри зэ сынывоупщIыж, мыбы хуей къыфхэт?». ЗэгурыIуа хуэдэ, псоми я Iэр къаIэт.
— Ныбжьэгъу лъапIэхэ, — кърегъажьэ егъэджакIуэм, — фэ иджыпсту гъащIэм и дерс нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зы нэрылъагъу фщыхъуащ. Сыт езмыщIами, мы ахъшэм фэ фщыщ дэтхэнэри хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щыфIеи щыкъабзи, ахъшэм и мыхьэнэм зихъуэжакъым, ар зэрысом щитхуу къэнэжащ. ГъащIэм куэд дыдэрэ къытхуохуэ гублащхьэм дыкъыщехуэх, дыщыхаутэ, дыщыхагъащIэ. Ауэ уи фIыр зэи кIуэдынукъым. ФIыуэ укъэзылъагъухэм я дежкIэ уэ улъапIэщ.
Щэху
ЗэгъунэгъуитI псэурти, зым сыт щыгъуи псалъэмакъыр я унэм имыкIрэ зэщхьэгъуситIыр зэгурымыIуэу екIуэкIырт, адрейр зэгурыIуэрэ зэдэIужти, уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал зимыIэт.
Гъунэгъум ефыгъуэкIа фызым и щхьэгъусэр къегъэIущ:
— КIуэи къащIэт, сыту пIэрэ абы апхуэдизу зэрахьэр, я унагъуэм зэгурыIуэр щытепщэ зэпыту щытын папщIэ.
Гъунэгъум екIуэкIауэ, лIыр щэхуу якIэлъоплъ. Унэгуащэм унэлъэгур къилъэщIурэ пщэфIапIэмкIэ тригъэувар игу къэкIыжри, абыкIэ епIэщIэкIыу щIыхьащ. Щхьэгъусэр унэм къыщыщIыхьэжым, псы зэрыт пэгуным гу лъимытэу, фIэнэри, ирикIутащ.
Унэгуащэм ар щилъагъум:
— Къысхуэгъэгъу си псэ, сэращ къуаншэр.
— ЖыпIэр сыт, нэ сиIамэ, гу лъыстэнт, сэращ къуаншэр, — жи лIыми и фIэщыпсу.
А псом кIэлъыплъа лIым игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ унэм кIуэжащ. ЗдэкIуэжам фызыр къыщIэнакIэ щIыкIэу щIоупщIэ:
— Сыт, уздэщыIам щыплъэгъуаIа?
— Уей, щыслъэгъуам, — къет жэуап лIым, и щхьэр ирихьэхарэ и пыIэ тIэкIур IэкIэ икъузу.
— Сыт-тIэ, — тепыIэжыххэркъым щхьэгъусэр.
— Псори гурыIуэгъуэщ! Дэ ди унэ псори щызахуэщ, абы я деж псори щыкъуаншэщ.
Синэнэ 1эш1оу синэнэ к1асэм
Сэ къыс1уилъхьагъэр сиадыгабз.
Сыдэу тхьар еуи зыбзэ к1осагъэм,
Лъэпкъым ынапэр иныдэлъфыбз.
Нэхэе Р.
Сыбзэ – си Дунай,,, Мы гущы1ит1ум мэхьанэшхо я1.
Ц1ыфыр къызыхъук1э,быдзыщэм игъусэу ныдэлъфыбзэм имэкъамэмэ дунаим хащэ. Ц1ыф лъэпкъ пэпчъ ныдэлъфыбзэ и1. Сэ синыдэлъфыбзэу, дунаим иш1угъэ къысфызэ1узыхыгъэр – сиадыгабз. Бзэр – лъэпкъым ыпсэ зан. Дунаир зэрэзэхифырэр, ар зэрилъэгъурэр, ащ ш1уагъэу къыхихырэр, игухэлъ – гупшысэхэр, ихэбзэ зек1уак1эхэр, дэхагъэу щы1ак1эм хэлъыр – зэк1эми ныдэлъфыбзэр анэсы. Ныдэлъфыбзэр к1оч1эшхоу , зэк1ужьэу, гъэк1эрэк1агъэу лъэпкъым идунэееплъык1э егъэнэфы , игулъытэ егъэбагъо, ащ к1уач1эрэ л1ыгъэ-блэнагъэрэ хилъхьэзэ лъэпкъым фэ1орыш1э.
Синыдэлъфыбзэу сиадыгабз…. Имэкъамэхэр орэдышъоу къысэ1у, псыхъом ижъынч макъэ щызэхэсэхы, шым илъэмакъэ ар къыпэджэжьы, жьыбгъэм ишъуи макъэ къыдежъыу. Сиадыгабзэ дунаим идэхагъэ зэхысегъаш1э. Сэ сырэгушхо синыдэлъфыбзэк1э сыгу ихъык1ырэр къызэрэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э,адыгэ жабзэ зы1улъ ц1ыфмэ сызэращыщыр.
Бэ адыгэ лъэпкъым дунаим илъэгъо гъогу къырэк1офэ къинэу ыпэ къик1ыгъэр. Адыгэм игъаш1э анахь тхьамык1агъоу къыхэхъухьагъэмэ ащыщ Урыс- Кавказ заор. Заом къелыжьыгъэхэр яч1ыгурэ ятахътэрэ фимытыжьыхэу, яхэкужъ абгынэжьи , Истамбул гъогужъым тыритэкъуагъэх. Хырэ ч1ырэ зэпичи а гъогужъым адыгэхэр дунаим тырипхъагъэх. Бэ адыгэ ц1ыфым а лъэхъан хьылъэхэм ч1энагъэу аш1ыгъэр, ау сыд фэдиз къин алъэгъугъэми тилъэпкъ ыбзэ ыгъэк1одыгъэп. Зыбзэ ч1эзымынагъэм ынапи къабзэ, иц1ыфыгъи лъагэ. Сэ насыпыгъэшхоу сэлъытэ сянэжъ сятэжъхэм «ч1ыгужъыр» амыбгынэу тиадыгэ шъолъыр дахэ къызэринагъэхэр. Сафэраз сыфитэу тыбзэк1э дунаим идэхагъэ къис1отык1ын зэрэслъэк1ырэм. Сафэраз тидунай идэхагъэ 1оры1уатэк1э зэхэсмыхыжьэу , нэрылъэгъоу зэхэсш1эн амал къызэрэсатыгъэм. Сыгу ихъык1ырэр синыдэлъфыбзэк1э къэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э сафэраз.
Сиадыгабзэ – лъэпкъ ш1эныгъэм игъэт1ылъып1, лъэпкъ дунэегуры1уак1эр зэхещэ, ш1ум, дэхагъэм тыфещэ. Синыдэлъфыбзэ лъэпкъым къыщыш1рэ пстэури зэгъэфагъэу къырехьак1ы, гу зэ1ухыгъэк1э ц1ыфыр дунаим хегъаплъэ. Лъэпкъ итэкъухьагъэмк1э адыгабзэр лъэпкъым зык1ыныгъэ къезытырэ лъапс, зэрэадыгэр къызэраушыхьатрэ амал.
Нэмык1ыбзэ умыш1эным емык1у хэлъэп. Емык1ушхуи умыш1эныр ныдэлъфыбзэр. Убзэ уукъо хъущтэп, уадыгэ ц1ыфмэ уиадыгабзэ ш1у плъэгъоу, уфэсакъэу ущытын фае. Синыдэлъфыбзэ орэд къырып1ощтмэ , гъэтхэ ощх бзыбз, адыгэ усэ уедэ1у зыхъук1э узишъэ ч1эонэ, узхещэ, дунаим ш1оу тетыр зэк1э угу къегъэк1ы. Ц1ыфым иныдэлъфыбзэ 1улъ зыхъук1э, ежь ц1ыфыр къегъэдахэ, ц1ыфым идунэееплъык1э зыфэдэри къыбгурегъа1о. Синыдэлъфыбзэ акъыли, л1ыгъи, дэхагъи, ш1улъэгъуи, пэгагъи хэбгъотэщтых. Ау тыгъэ пэтзэ ащи бжъыгъэхэр телъхэ мэхъух, арышъ тэ адыгэхэми , щык1агъэ тимы1эу щытэп. Тхэтых тэ «сыадыг» а1оу, ау яныдэлъфыбзэк1э гущы1ан амылъэк1эу. Ащ фэдэ ц1ыфым, анахь еджэгъэшхор арми, угу егъунэу ч1ып1э урегъэуцо.
Сыгу къео сэ, адыгэ ц1ыфэу зызылъытэхэрэмэ ащыщхэмэ «чылэм узыдэк1рэм сыдк1э адыгабзэр къыпшъхьапэщт» зэра1орэр. Ащ фэдэ ц1ыфхэр сэ нэпэнчъэхэу сэлъытэ.
Сэ синыдэлъфыбзэу сиадыгабзэ сырэгушхо! Сэ сыгу къытеофэ сыбзэ згъэлъэп1эщт! Шъоум фэд синыдэлъфыбзэр, сян адыгабзэр, сэ си Дунай сиадыгабзэр! Сэ сыбзэ – сибаиныгъ!
Учебно-методическая разработка
МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны
Эпиграф
Узолъагъур си псэм хуэдэу,
Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу
Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у.
Къанкъул Ф I ыц I э.
Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
Мурадыр:
Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;
Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.
1. Литературнэ дакъикъэ . Щомахуэ А. «Ди Хэкур».
Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
И дахагъри хэт зымыщ1эр!
Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
Игу къонэжыр ар зылъагъум,
Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.
2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.
Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.
3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
Уи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.
Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
Хэкум емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
Бзури и абгъуэ щытепщэщ.
Адыгэ литературэ
3 – нэ класс
КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ
I920
Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах.
I927-I933
БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ.
I934-I936
Псыхуабэ дэт педрабфакым щIотIысхьэ.ЩоджэнцIыкIу А. .ныбжьэгъу пэж ,гъуэгу гъэлъагъуэ къыхуохъу.
I936
Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ,
I940
Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ
I94I
I948
Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ.
Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной».
I95I
Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI.
I950
«Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI.
I955
«Сэлам» усэ тхылъыр.
I957
«Си гъусэ» тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж.
I958
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI.
I966
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI.
4. Словарнэ лэжьыгъэ:
Къыр таж – жыр мывэ блын лъагэ
Къунан – илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ.
Акъужь – жьапщэ.
Гуэн – гъавэ хъумап1э.
Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.
5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр !
Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.
Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.
Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.
Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.
Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.
Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.
Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.
Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!
Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.
Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.
Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.
Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.
Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!
Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ, Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!
6. Яджар егъэбыдыл1эн:
Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;
Дызыгъэгуф1эр;
Дызэрыгушхуэр;
Дызэрыпагэр.
Зэгъэпщэныгъэхэр:
« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
«Къэхъугъэм и епэр»
«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»
«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
«Аузхэм щызэрахуэ
Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ»
«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
«Хы щхьэфэу мэбырыб»
«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»
Къэгъэпсэуныгъэхэр:
«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
«Уи ныджэм щопIейтей»
«Уи губгъуэр зэрахьащ»
«ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».
«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»
«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
«ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм»
Эпитетхэр:
«Дыщэ губгъуэ»
«Псы 1элхэр»
«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
«ЩIыпIэ дэгухэм»
«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».
Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.
Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.
Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.
7. Урокым и итог:
Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;
Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын
8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.
Хэт щыIэн уэр нэхърэ нэхъ гумащIэ, Псэ хьэлэл зыIут, нэхъ гъащIэ мащIэ?..
Бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ лъапIэм — анэм — и махуэр ди къэралым зэрыщагъэуврэ илъэс 20-м нэ-сащ. Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищтауэ щытащ 1998 гъэм икIи илъэс къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм догъэлъапIэ. Анэм и мыхьэнэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита абы къигъэщIахэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэшхуэм иджыри зэ къегъэлъагъуэ жыла- гъуэм и дэтхэнэ цIыхуми я дежкIэ анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми аргуэру гу лъыдегъатэ.
Анагъэм пылъ къалэнхэр нэхъ тэмэму зэфIэха хъун папщIэ, ди къэралым щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри анэхэм я пщIэм хэзыгъахъуэщ, анагъэм и лъабжьэр мылъкукIэ щIэзыгъэбыдэщ, абы и къалэнхэр къыщызыгъэпсынщIэщ.
КъыпхуэмыIуэтэным хуэдэу абрагъуэщ «анэ» псалъэм и мыхьэнэмрэ щIэлъ гурыщIэмрэ. Быным я нэху, я гъащIэ гъуазэ а цIыхум и псэр абыхэм сыт щыгъуи яхузэIухащ, быным папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынущ, и псалъэхэмрэ IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэмри зыхуэгъэпсар быныр фIым, дахэм хуэущиинырщ, гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ. Анэм хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Абы и сабийм хуищI гулъытэм, анэ лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр, нэгъуэщI куэди. Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр. Аращ адыгэ псалъэжьым «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр. Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым — апхуэдэщ анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм уахуэныкъуэнри. Абы и жьауэм щIэмыт быныр дыгъэми елыпщI, жьапщэри къопхъэшэкI. Апхуэдизу быныр зи хъуахуэ анэм хуэфэщэн гулъытэ щыхуэдмыщIи къохъу. УсакIуэми гу зэрылъитащи, «жьэгу мафIэм хуэдэ анэ лъагъуныгъэр куэдым къыщалъыхъуэ-жыр щIыIэм щисым дежщ». Дахущывгъэт ди анэхэм гумащIэу, ди псалъэ гуапэрэ дахэрэ хуремыныкъуэ ахэр.
Быным я дунейр яхуэзыгъэнэху, я гъащIэр яхуэзыгъэIэфI анэ псоми дохъуэхъу махуэшхуэмкIэ. ЩIэблэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ, абы-хэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, я гулъытэ щымыщIэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ быным кърату куэдрэ Тхьэм игъэпсэу. А фIыгъуэр — анэр — зиIэхэми куэдрэ Тхьэм къахуихъумэ.
Къардэн Маритэ.
Щапхъэ
И гум и хуабагъэр быным дапщэщи ялъоIэс
Ди тхыгъэм фIэщыгъэ хуэтщIа псалъэхэр хуэгъэзащ Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэс Быгуэ (Мэшыкъуэ) Хьэлимэт. Анэ гумащIэм, анэшхуэ IэфIым, щхьэгъусэ пэжым, унэгуащэ IэкIуэлъакIуэм гъащIэм щызыхуигъэувыжа къалэнхэм дапщэщи я нэхъыщхьэ дыдэт быным я акъылымрэ гупсысэмрэ убзыхуныр, ахэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ къыщIэгъэтэджэныр, хьэл дахэрэ щэн екIурэ яхэлъхьэныр. Абыхэм Хьэлимэт къызыхуэтыншэу япэлъэщауэ жыпIэ хъунущ.
Хьэлимэт 1941 гъэм Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. И ныбжьыр мазэ бжыгъэ фIэкIа мыхъуу ар къахуэнащ и адэшхуэ-анэшхуэм икIи ахэращ, зэрыжаIэу, «псым ирамыгъэхьыу, мафIэм ирамыгъэсу» къэзыгъэтэджар. Хэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэри къыхэзылъхьар адэ-анэ папщIэу къыщхьэщыта а нэхъыжьыфIхэращ. Хъыджэбзыр къэхъуащ жыIэщIэу, Iэдэбу, нэмысыфIэу, тхылъ фIыуэ илъагъуу, еджэным щыпэрыту. Курыт школыр фIы дыдэу 1969 гъэм къиуха нэужь, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ Хьэлимэт хущIэкъуащ бгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи хигъэхъуэну икIи КъБКъУ-м и биологие къудамэм щIэтIысхьэну хуеящ. Ар къыщемыхъулIэм адэшхуэ-анэшхуэм я деж игъэзэжащ, и хъуэпсапIэр етIанэгъэ зригъэхъулIэну и мураду.
ГъащIэм езым и хабзэхэр иIэжщ, уэ зэрыжыпIэуи псори хъуркъым. КъыкIэлъыкIуэ гъэмахуэм Хьэлимэт къыпэплъэр нэгъуэщIт: ар унагъуэ ихьащ, Быгуэ Машэ и къуэ Iэбубэчыр щхьэгъусэу игъуэтащ. Адыгэ хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, бзылъхугъэм пщIэ щыхуащIт Быгуэхэ я унагъуэр. Хьэлимэт пхъу пэлъытэ яхуэхъуат и тхьэмадэ Маши и гуащэ Къэралхъани. НысащIэ цIыкIуми ахэр япищIырт псэкIэ нэхъ пэгъунэгъуу иIа и адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ. ПщIэрэ нэмысрэ яхуищIу, я гумрэ я псэмрэ дыхьэу ядэпсэуащ Хьэлимэт гуащэ-тхьэмадэм. Ахэр сымаджэ щыхъум, хулъэкI псори яхуищIащ, и къаруи зэмани емыблэжу.
Къэзылъхуахэм ящхьыу цIыху щыпкъэу, гъэсэныгъэ екIу бгъэдэлъу апхуэдэщ Iэбубэчыри. КъБКъУ-м зоотех-ник IэщIагъэр щызригъэгъуэта нэужь, IэнатIэ хъарзынэхэр иIыгъыу куэдрэ лэжьащ. Ар щытащ Сэрмакъ къуажэм щызэхэт хозяйствэм и зоотехник нэхъыжьу, жылэм и парт зэгухьэныгъэм и пашэу, хозяйствэм и унафэщIым Iэщ гъэхъунымкIэ и къуэдзэу.
Зэщхьэгъусэхэр илъэс 46-рэ хъуауэ зэдопсэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, «зым Iэпыхур адрейм къищтэжу» жыхуаIэм хуэдэу. Быгуэхэ я унагъуэр хъуащ лъагъуныгъэм, пщIэм, нэмысым, зэхэщIыкIымрэ зэхуэгъэкIуатэмрэ я лъахэ. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэхэм пэрыт и щхьэгъусэм Хьэлимэт зэрыхъукIэ щхьэщихащ унагъуэ Iуэхухэри быныр пIыным, гъэсэным, егъэджэным епха къалэнхэм ящыщ куэди. Абыхэм къадэкIуэу ар езыри илъэс 20-м нэскIэ щылэжьащ Налшык дэт дэрбзэр фабрикэм Сэрмакъ щиIа къудамэм, и къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу игъэзащIэу.
Лэжьыгъэми унагъуэ Iуэхухэми ирагъэшми, анэм и хуабагъэ зымылъа- гъуу къэтэджа бзылъхугъэр быным яхуэупсэфащ и псэ къулеягъымкIэ, лъагъуныгъэ инымкIэ, гулъытэмрэ зэхэщIыкIымкIэ. Iэбубэчыррэ Хьэлимэтрэ зэдагъуэта я бынитхуми зэхащIыкIащ адэ-анэр, абыхэм къыхуаIа хъуэпсапIэхэр нахуапIэ ящI. Дэтхэнэми курыт школыр фIы дыдэу къиухащ, дыщэ медалхэр зыхуагъэфэщахэри яхэту. Быным я нэхъыжь Ларисэ и IэщIагъэкIэ доху-тыр-эндокринологщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Ар пщIэ хуа- щIу хагъэхьащ Европэм и дохутыр- эндокринологхэм я зэгухьэныгъэм. Абы къыкIэлъыкIуэ Альберти дохутыр IэщIагъэр къыхихащ. Альберт республикэ сымаджэщым и хирург Iэзэщ, и IэзагъымкIэ категорие нэхъыщхьэ иIэщ. Быным я ещанэ Людмилэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ я егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. «Лэгъупыкъу» сабий центрым и унафэщIым и къуэдзэщ щIалэхэм я етIуанэ Анзор. Быным я нэхъыщIэ Алим и IэщIагъэкIэ инженерщ. Ларисэрэ Альбертрэ унагъуэ дахэ яухуащ, я адэ-анэр я щапхъэу.
ЖыпIэнурамэ, зэщхьэгъусэхэм яхузэфIэкIащ я сабиитхум ящыщ дэтхэнэ- ри цIыху нэсу ягъэсэн, щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтын. Бын пIыным щаIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ Быгуэхэ я унагъуэм мызэ-мытIэу хуагъэфэщащ район, щIыпIэ администрацэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Унагъуэм и махуэм ирихьэлIэу абыхэм къахуэупсащ Зэхуэпэжыныгъэм, лъагъуныгъэм и дамыгъэмкIэ. Хьэлимэт къратащ «Анэм и щIыхь» медалым и 2-нэ нагъыщэр. Апхуэдэ нэхъыжьыфIхэр зи щIыбагъ къыдэт бынми я гур хохъуэ. Анэпсэрэ адэпсэу дунейм тет абыхэм я дежкIэ гъунэ зимыIэ фIыгъуэщ анэм и псалъэ IэфIхэр, адэм и ущие Iущхэр, насыпым ухуэзышэ гъуэгу кIыхьщ а нэхъыжьыфIхэм хухаш лъагъуэр.
ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу къызэдекIуэкI унагъуэ лъэщым и хъумакIуэхэм, пщIэшхуэрэ нэмысрэ зяку илъу быныфIи зыгъэса Iэбубэчыррэ Хьэлимэтрэ фызэкъуэту, гъащIэм гу щыфхуэрэ абы и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу, фи быным, абыхэм къащIэхъуэ фи щIэблэм я насыпым, ехъулIэныгъэхэм фригушхуэу куэдрэ Тхьэм фигъэпсэу!
Бзылъхугъэ гумащIэ Хьэлимэт хэ-хауэ дохъуэхъу Анэм и махуэ лъапIэмкIэ. «Анэпсэр ар псынэщ», — жиIащ усакIуэ цIэрыIуэм. ИремыгъущыкI а псынэпс къабзэр — быныпсэм къару яхэзылъхьэр.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Дыкъэзылъхуахэм я хьэкъ
Адэ-анэ хьэкъыр игъэзэщIэжауэ,
Ехыжакъым мы дунейм зы цIыху.
Зэрытпшыныжынур ар тщIэжамэ,
ГъэзэщIэныр зырикIт, ар мыIуэхут.
Балэ Хьэзрэталий
ЩыIэу пIэрэ адэ-анэр фIыуэ зымылъагъу е абыхэм я гум ежэлIэн псалъэ жагъуэ езыпэсыф бын?! Хьэуэ, щыIэн хуейкъым апхуэдэ! Мы дуней псом тету пIэрэ адэ-анэм хуэдэу псэ къабзэрэ гу хьэлэлрэ зиIэ нэгъуэщI цIыху! ЯлъэкIамэ, быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым абыхэм. ДэкIамэ, къыдэмыхьэжын къафIощI, жьы къепщамэ, ирихьэжьэнкIэ шынэу мэпсэу.
Анэр уи щIыб къыдэтыху, сыт хуэдэ ныбжьым уитми, усабийщ. Ар ущимыIэж дакъикъэм зеиншафэ къыптоуэри, уи гъащIэри уи дунейри нэгъуэщI мэхъу. Ауэ сэ сыхуейкъым гъащIэм и дахэ, и IэфI псори анэм и закъуэ еспхыу, адэр абы къыкIэрызгъэхуну. «Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжым. Апхуэдэу жаIэ щхьэкIэ, адэ зыщхьэщымытыжу къэтэдж сабиймрэ адэ-анэм я куэщI къитэджыкIа бынымрэ зэи зэщхь хъуркъым.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ долъагъу зи адэ-анэм, нэхъыжьхэм емыдэIуэжхэр зэрыщыIэри. Ахэр гущIэгъуншэщ, фIыщIэмыщIщ. Дауэ пщыгъупщэн хуей анэм и хьэкъ зэрыптелъыр? Жэщ-махуэ имыIэу узэрихьащ, и зэманри узыншагъэри уэ къыптригъэкIуэдащ. УмэжалIэмэ, ерыскъы къыпхуигъуэтырт. Уэ ущыжейми и нэбдзыпэ къемыхыу къыпщхьэщысащ ар. Зыгуэр къыпщыщIамэ, зи цIэ къипIуэр арат. Адэри псэуащ къыптегужьеикIауэ. Ар къыщIыхьэжамэ, дуней гуфIэгъуэр уиIэт, и нэгур къыпхуигъэзамэ, и куэщIыр тIысыпIэ пщIырт. Апхуэдэурэ гъащIэр екIуэкIырт.
ГъащIэ зиIэм уахътыи иIэщ, жыжьэ дыщыплъэурэ ди псэм и гъунэгъу цIыхухэр тIэщIокI. ДэкIуеигъуэ зиIэм ехыжыгъуи къыпэщылъщ, ауэ дэ абы и чэзум дегупсысы-фыркъым. Мис апхуэдэурэ зи псалъэхэр, зи ущиехэр гъуазэ схуэхъуа си адэ-анэу Къуэныкъуейхэ Сэфарбийрэ Iэминатрэ сIэщIэкIащ. Ахэр сэ зэи си гум ихуркъым, сытым дежи си нэгум щIэтщ, я псалъэ IэфIхэр сщыгъупщэркъым…
НобэкIэ уи адэ-анэр къыпщхьэщытмэ, абыхэм я арэзыныгъэ къэблэжьыну пхузэ- фIэкIынущ. А Iэмалыр зыIэщIумыгъэкI. ГъэзащIэ уи адэ-анэм я хьэкъыр! Арыншамэ, уIэбэ-мэ улъэIэсыжынкъым.
ТЫГЪУЭН Залинэ,
КъБКъУ-м и студенткэ.
Дэ къытхуатх
ЩIэблэм игъэгушхуэ Гындыгъу Жаннэ
ЦIыхур плъыфэбэу къетхэкIа гъащIэм зэрыхэбакъуэу, фIыгъуэ мылъытэу абы гуэгъу хуещI Анэр. Псалъэ дахэрэ гуапэу абы сыт хуэдиз хужамыIами, «анэ» псалъэм псори фагъуэ щIохъукI. Сыт хуэдэ пщалъэкIэ къэппщыфыну анэм и щIэблэм яхуиIэ лъагъуныгъэр?! Уафэгум ит дыгъэр къызэрыдэтэ хуабагъэр цIыхуфэм къехуэбылIэмэ, цIыхугур зыгъэхуэбэфу щыIэр анэгум кърих нурырщ. Мазэм и къару лъэщым ефIэкIыжу анэм и нэгу итлъагъуэ нэхугъэри апхуэдабзэщ. Лъытэгъуейщ дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи лъапIэу къигъэщIа Анэм и зэфIэкIыр, къэпщытэгъуейщ ди гъащIэм абы щиубыд увыпIэм и инагъыр.
Мис апхуэдэ лъэщыгъэ телъыджэ, къару мыкIуэщIыж, зэфIэкI щIэншэ, лъагъуныгъэ мыужьыхыж зи щIэблэм яхузиIэ анэ гумащIэщ Алътуд къуажэ щыпсэу Гындыгъу Жаннэ. Абы «анэ» псалъэр зэрекIупсым къыдэкIуэу, а псалъэм къызэщIиубыдэ мыхьэнэ псори адыгэм «ухуемыплъэкIыж» жыхуиIэм ещхьу егъэзащIэ икIи къохъулIэ. Ди лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэм тепщIыхьмэ, анэрщ щIэблэ гъэсэным и гъури и цIыни нэхъыбэу къэзыпщытэр, зи пщэ къыдэхуэр. А Iуэхугъуэр Жаннэ къызэрехъулIэм хуэдэу къызэхъулIэ анэ нэхъыбэ диIамэ, нэгъуэщI щыIэт?! ФIым и курыхыр къыхэкъузыкIауэ зи щIэблэм я пащхьэ изылъхьэ анэхэм ящыщщ Жаннэ. Абы и зы щапхъэщ Жаннэ и бынхэм псоми яхуэфIыпсрэ екIупсу яхуригъэд адыгэ фащэр — ди лъэпкъ дамыгъэр.
«Анэр нэм хуэдэщ, адэр дэм хуэдэщ» псалъэжьыр Жаннэ и унагъуэм хуэпхь хъуну къыщIэкIынукъым, сыту жыпIэмэ бзылъху-гъэм и мурад псори, щапхъэ зытехыпхъэ и щIэблэ гъэсэкIэри абы и закъуэу къемыхъулIэнкIи хъунт и щхьэгъусэ Алим мыхъуа-мэ. ЗэщхьэгъуситIым я зэхуаку дэлъ пщIэм, нэмысым, зэхэщIыкIым, зэгурыIуэм щIапIыкI я щIэблэр нобэрей гъащIэм хэзэгъауэ, зыхэтым фIагъкIэ, щэныфIагъкIэ, IэдэбагъкIэ къахэщу щыплъагъукIэ, уемыхъуэпсэн плъэкIыркъым. Алимрэ Жаннэрэ щIалитIрэ хъыджэбзитхурэ яIэщ. Нэхъыжьищым ехъулIэныгъэкIэ курыт еджапIэри еджапIэ нэхъыщхьэри къаухауэ я лэжьыгъэм иролажьэ. НэхъыщIиплIыр иджыри курыт еджапIэм щIэсщ. Я хъыджэбз нэхъыжьыр унагъуэщ.
Я щIэблэм къарурэ гуащIэу ирахьэлIэр зэрызыхащIыкIыр щалъагъукIэ, абы я лъэр нэхъри егъэжан, дамэ къатрегъакIэ зэщхьэгъусэхэм. ГъащIэр къазэрыхуэупса насып лъа-пIэм гухэхъуэгъуэ мылъытэ къарет зэщхьэгъусэхэм. Алимрэ Жаннэрэ я уна- гъуэ дахэр мызэ-мытIэу ирагъэблэгъащ «Унагъуэм и илъэс», «Унагъуэм и махуэ» зэхыхьэхэм. Апхуэдэ гулъытэ республикэми районми къызыхуагъэфащэ унагъуэр зыщыщ къуажэми, зыхэс лъэпкъми, зыдэс хьэблэми пщIэ лей къыхуащI.
Жаннэ зэрыанэ нэхъуеиншэм къыдэкIуэу, цIыху лъагъугъуафIэщ, унэгуащэ гуащIафIэщ, анэкъилъху щабэщ, анэшхуэ гума-щIэщ, гъунэгъу пэжщ, ныбжьэгъу телъыджэщ — цIыху Iумахуэщ. Анэм и махуэр хуэмахуэну, гъащIэмрэ дунеймрэ дапщэщи хуиIэ щIэщыгъуагъэм щIэ зыщIэмыт насып къыхудэкIуэну, «анэ» псалъэм и IэфIагъ псомкIи зигъэнщIу псэуну сыхуохъуахъуэ!
КХЪУЭIУФЭ Рабия.
Прохладнэ район
Псалъэжьхэр
Уэ пхуэдэ теткъым дунейм
Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ.
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.
Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.
Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.
АнэIэм къуитыр IэфIщ.
Анэ зимыIэ сабийр, адэ иIэми, ибафэщ.
Анэм быныр и зэхуэдэщ.
Быныр анэм и хъуахуэщ.
Усыгъэхэр
ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан
Си анэм
Сыщысабийрэ сэ си гум илъаи,
Гукъеуэ ину ар сиIэу:
КъытеIэбакъым си щхьэфэм
сэ зэи
АдэIэ щабэ жыхуаIэр.
Хьэуэ! Сисакъым си адэм и куэщI,
Гущэ уэрэдхэр схуигъэIуу,
Анэ гумащIэ бзэ IэфIым нэмыщI,
Зым щымыта сигъэудэIуу.
……………………………
Джэдкъурт зи быным
хуэсакъым нэхъей,
Стетт сытым щыгъуи уи нэIэ,
Бадзэ си нэкIу
тетIысхьауэ сыжейм,
Уи гум псэхупIэ имыIэт.
Ауэ гъатхэпэу щыгъагъэм дунейр,
ЗыщумыгъэнщIу гуфIэгъуэм,
Хъуауэ дахагъэр уэ уигу
пыкIыгъуей,
УнкIыфIыпащ уи нэвагъуэр.
Уи пIэкIи гъащIэр сэ фIыуэ
слъагъунщ,
Нэзгъэсыжынщ уи Iуэху Iыхьэр,
«Си псэкIэ» сэ укъызэджэу
щытаи, —
Анэм и быныр арщ и псэр.
IУТIЫЖ Борис
Анэпсэ
Гупсысэм гупсысэ кърохъуэ…
Гу узыр бгъэ узым йотIыхь…
Анэпсэр быныпсэм къылъохъуэ…
Быныпсэр анэпсэм йопщIыхь …
Анэпсэр ар псынэщ… Ар псысэщ…
Ар псатхьэщ… Ар тхьэхэм
я тхьэжщ…
А тхьэр тщхьэщытыхукIэ
тхуэупсэу,
Дэ сытри тлъэкIын ди гугъэжщ…
Анэпсэр тщхьэщыкIмэ, итIанэ
Нэхъ щIыIэу мо дыгъэри къопс…
Уэ сытри бдэхуабэт, си Нанэ
ЗэмыкIури зэкIу пщIыфу
ушхэпст…
Гъэ плIыщIыр хэщIауэ гъуэгуанэм,
Сэ гъащIэм мыр хьэкъ
къысщищIащ:
Балигъ цIыхур щыхъур и анэр
Дунейм щехыж махуэр аращ.
ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер
Мамэ
Къалэм тхылъымпIэм
зэрыхуэсхьрэ
Пхуэстхыну усэ сыщIохъуэпс.
… Сэ къыщысфIэщIми
гуауэм сихьу —
Ар имыуасэ уи зы нэпс.
ГуфIэгъуэ иным сызэщIищтэу
Сэ къыщысщыхъуми сылъэтэн,-
Уи быным Iэнэ къыщыхуэпщтэм
УиIэ гухэхъуэм пэслъытын?
Быдзышэм щIыгъуу
къысIурыплъхьа бзэм
Сыхэщыпыхьу схьыми сэ, —
Уэрэд
Мы си гум убзэрабзэу
Пхуиусым сфIощIыр хэмыт псэ.
ЗэфIызотхъыжри ар —
Аргуэру
Уи гъащIэм хуэфэщэн уэрэд
ХуэбампIэу
Си гурыщIэр уэру
Къоу сигуми —
Ари сщохъур нэд.
КъысхуигъэтIасэркъым си усэм:
Махуэл уи гъащIэм зэ щумыщI,
Уэ зебгъэщIауэ зыбгъэпсэхуу
Слъэгъуакъым, сохъури илъэс
плIыщI.
Сыщыгъуэлъыжми я нэхъ кIасэу,
Сыжеижыху укъысщхьэщытщ,
Сыкъыщытэджми я нэхъ пасэу,
Жьэгум ущIэпщэу упэрытщ.
… Иджы, си гугъэр хэсхыжауэ,
УсакIуэу мы дунейм тетам
Щытар я анэм хуаусауэ
Зэхузохьэсри —
Мы сигу плъам
А уэрэд псори зэпелъытыр, —
Зэм хохъуэр си гур,
Зэми — хощI:
Тхыгъэ нэхъыфIу ахэм хэтри
Уи закъуэ пхуауса къысфIощI.
КЪАГЪЫРМЭС Борис
Си анэм деж
Шхын IэфIхэр Iэнэм
къытеплъхьауэ,
Аргуэру дэ дызэбгъэдэсщ.
Гу махэ дыдэ укъэхъуауэ,
УолъэщI кIэпхынымкIэ уи нэпс.
«КъэкIуэж нэхъ щIэхыурэ,
си щIалэ, —
ЖыбоIэ, — плъагъукъэ,
жьы сыхъуащ.
Жыжьэж си гугъэкъым ажалыр,
ПщIыхьэпIэу уи адэри слъэгъуащ…
Шхэт уэ, едзакъэт. Сыт, на,
къэзбжыр?..
Ди джэдхэр, дауи, тIысыжащ,
Згъэбыдэжынщ ди
джэдэщыбжэр», —
Уи псалъэр зэу щIэплъэфыжащ.
Ей, сянэ, сянэ! Уэ узахуэщ,
Солъагъу уи щхьэцу уэсу тхъуар.
Уимылъу сигу мыкIуа зы махуэ,
УзмыщI уи гугъэми хъымпIар.
Уи бын уи гъусэу мыпсэуныр
ЗищIысыр сэри зыхэсщIащ…
Збгынэнкъым, хьэуэ, сэ ди унэр,
Мис, ноби уэ сурихьэщIащ.
Уэ пщIэркъэ — гъащIэр
жьапщэ инщи,
Дунейм цIыху цIыкIур щрекъухь,
ЖимыIэу: «Мор мобы и бынщи,
Зэбгъэдырес, жьы хъуар
гуэныхьщ».
Аращ зэманыр, хьэщIэм хуэдэу,
ДыкъыфхуокIуэж, фыдощI
пIейтей.
ДыщыIэм махуэ — ар тфIэкуэду
Дожьэж, докIуэж адрей «дыдейм».
Узыншэу, мамэ! Умыдзыхэ,
Нэхъ мащIэу пщIыхьхэм егупсыс.
ТхьэмыщкIэр — быни зимыIэххэрщ.
Мы усэр уи къуэм уэ пхуеус.
Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.
Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.
Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.
Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.
Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?
Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.
Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.
«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.
Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.
Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .
Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…
Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.
Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…
Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.
Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.
Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:
Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,
Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,
Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…
Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.
Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.
Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».
Адэк1и щ1оупщ1э:
«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?
Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,
Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»
Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.
Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.
Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:
Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!
Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!
Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.
1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.
Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.
Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:
Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!
Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.
Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей
Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.
Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,
Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.
Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.
Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.
Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!
Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.
Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.
Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.
1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.
Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу
«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э
Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.
Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!
Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.
Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э
Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.