Дэ дигу тедгъахуэ хъунукъым ар зэрекIуэкIамрэ абы кърикIуахэмрэ нэмыукIытагъэкIэ зэзыхьэкIыну хущIэкъухэр кIуэ пэтми нэхъ тегушхуауэ утыку къызэрихьэр.
Псори къыщежьар
Ар телъыджэщ, ауэ ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къызэрыхъеямкIэ Гитлер хуэдэ дыдэу Сталинри къуаншэу КъухьэпIэм къыщыщIрагъэдз. Абы щыгъуэми ар жызыIэр политик жьгъейхэм, зи псалъэм зыри къимыкIхэм я закъуэкъым: абыхэм яхэтщ къулыкъущIэшхуэхэри къэрал унафэ зыIэщIэлъхэри. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэщ, пэжым щымыгъуазэнкIэ Iэмал зимыIэхэщ.
Апхуэдэу щыщыткIэ Молотовымрэ Риббентропрэ зращIылIа пактыр ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къэзыгъэхъея щхьэусыгъуэу къэлъытэным теухуауэ Евросоюзым къищта унафэр бзаджэнаджагъэм тещIыхьа политикэ гъущэщ. Абы зы псалъи пэжу хэткъым. Псори зыхуэгъэзари, иджыри къытедгъэзэжынщи, ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къызэрыхъеямкIэ къуаншэу Ещанэ рейхым и мызакъуэу, СССР-ри (иджы абы хуитыныгъэкIэ и пIэ иува Урысейри) къыщIрагъэдзынырщ.
Уеблэмэ, «зауэ щIыIэм» и гуащIэгъуэми — илъэс 40-50 ипэкIэ — зыри тегушхуэфынутэкъым апхуэдэпцI иупсыну. АтIэ иджы щхьэ яхузэфIэкIрэ? Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а Iэмалыр езытар Горбачёв Михаил властыр IэщIыхьа иужь СССР-м щрагъэкIуэкIыу щIадза делагъэ политикэрщ, нэхъ щхьэтечу жыпIэмэ, нахуагъэм (гласностым) и гъуэгу ар зытеуварщ. Дауи, езы нахуагъэм лажьэ иIэкъым икIи ар гъуэзэджэщ: сыт щыIэ нэхъыфI къэралымрэ дунеймрэ щекIуэкIхэр хуиту къэпIуэтэфыным нэхърэ? АрщхьэкIэ мыгувэу ящыгъупщащ нахуагъэм пэжыр и лъабжьэу щытын зэрыхуейр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхухэм ебгъэгъэщIэгъуэн мурадкIэ щыIар щымыIакIэ зэпхъуэкI, уи тхыдэр хэбутэ зэрымыхъунур. Зи жьэр хуит хъуахэм ди блэкIар хьэм ирагъэхьырт, дызыщIапIыкIа лъапIэныгъэхэр ягъэпудырт. Дэ дризэгуэпырт Хэку зауэ- шхуэм и зэманым Талалихин Виктор езым и кхъухьлъатэр бийм ейм жьэхигъауэу Москва и щыгум къызэрыщриудыхар пцIыуэ къызэрыщIрагъэдзым. КъызэрыщIэкIамкIэ, Гастеллэ Николай мафIэ зыщIэна и кхъухьлъатэр дагъэ гъэсын зышэ мафIэгум хуигъазэу къигъэуауэ аратэкъым, атIэ техуа къудейт. Е Матросов Александр ди зауэлIхэр къэзыукI дзотым зыIуидзатэкъым — лъэпэрапэри… теджэлат. «Партизанка Таня» (Космодемьянская Зое зи фIэщыгъэцIэр) хъыжьэу, и акъыл зэтемысу щытауэ ягъэIуат. Властхэм апхуэдэ «къэхутэныгъэхэр» яфIэфIыпсу даIыгът. Апхуэдэ щIыкIэкIэ дунейм къытехьащ Молотовымрэ Риббентропрэ «КъуэкIыпIэ Европэр» Совет Союзымрэ Германиемрэ зэхуагуэшыным теухуауэ Iэ зыщIадза пактыр мызахуагъэу къилъытэу СССР-м и ЦIыхубэ депутатхэм 1989 гъэм къащта унафэр. Зэрытлъагъущи, псори къыщежьар ди дежщ, Евросоюзым ар къигъэсэбэп къудейщ.
Мюнхен и ныбжь бзаджэр
ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къызытехъеикIар зэзыгъэщIэну хущIэкъухэр (ар пэжу щытщ) псом япэу зэплъын хуейр 1938 гъэм Германием, Италием, Инджылызым, Франджым, Мюнхен щызращIылIа зэгурыIуэныгъэрщ. Абы Чехословакием хуигъэуващ езым и щIыналъэм щыщ Судетхэр нэмыцэхэм яритыну. Ар Iэрыхьа иужьщ Гитлер дивизие куэд къызэригъэпэщыну Iэмал щигъуэтар икIи ар Польшэм и мызакъуэу, езы Инджылызми Франджыми япэщIэувэну тезыгъэгушхуар. Абы и пэкIэ Рейхым и генералхэм къалъытэрт Германиер мызэуэфыну: гъэсыныпхъэмрэ къэралым щащI Iэщэхэмрэ къемэщIэкIырт.
Мюнхен щызращIылIа зэгурыIуэныгъэм езым и щIыналъэм щыщ нацистхэм яритыну нахуэу икIи ехьэкI хэмылъу ирихулIащ. Молотовымрэ Риббентропрэ я пактым пыухыкIауэ зыри къыщыгъэлъэгъуакъым — абы апхуэдэ Iуэху гуэри зрихуэркъым: зэныбжьэгъу зэхущытыкIэхэр зэхуаIэным теухуа псалъэ тарэфарэ защIэщ. США-м тхыдэм ухигъэгъуазэу къыщыдэкI тхылъхэм Iыхьэшхуэ щеубыд Мюнхен, ауэ пактым щыхухахыр сатыр-сатыритI къудейщ. Абы къегъэлъагъуэ иужьрейр ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къыщIэхъея щхьэусыгъуэу жыпIэныр американхэми нэгъуэщI къэрал IэщIагъэлIхэми шыпсэу, дыхьэшхэну къызэралъытэр.
ЩIыдгъужын хуейщ а пактыр къагъэсэбэпу лъэныкъуитIым Польшэр зэхуагуэша, СССР-м Прибалтикэм и къэралхэр иубыда хуэдэу иджы ягъэIухэри зэрылъабжьэншэ дыдэр. Совет Союзыр зыкIи хуэныкъуэтэкъым узэхъуэпсэн гуэри зыдэщымыIэ а щIыпIэхэм, щIыуэпс къулеигъэхэм хуэхейхэм. Сыт атIэ щIызэхигъэхьар? Ар къызыхэкIар гурыIуэгъуэщ: зи шынагъуэншагъэм хуэсакъ дэтхэнэ къэралри хущIокъу бийр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ жыжьэ IуигъэкIуэтыным. ЕтIуанэрауэ, КъухьэпIэ Украинэмрэ КъухьэпIэ Белоруссиемрэ Польшэм хэзыгъэхьар зэрыпхъуэныгъэ политикэрт, нэхъапэм ахэр абы зэи щыщатэкъым. Прибалтикэм и гугъу пщIымэ, къэралищми — Латвиеми, Литвами, Эстониеми — я парламентхэм IэIэткIэ унафэ къыщащтат СССР-м къыхыхьэну хуейуэ. Зэрытлъагъущи, Iуэхум залымыгъэ гуэри хэлъакъым.
ЖытIэнщи, совет-фин зауэри къызытехъеикIар ди къэралым и гъунапкъэр игъэбыдэн зэрыхуейрт — пащтыхьым и зэманми гурыIуэгъуэт зэгуэр Финляндиер щхьэхуэ зэрыхъунур. Генералхэм Николай ЕтIуанэм жраIащ ар хэкIми, Ханко хытIыгу ныкъуэр фIэкIыпIэ имыIэу Урысейм къыхуэнэн зэрыхуейр — арыншамэ, Петербург Балтикэ тенджызымкIэ дэтхэнэ бийми хузэIуха хъурт. АрщхьэкIэ къыфIэIуэхуакъым, Финляндиери щхьэхуэ хъуащ а хытIыгу ныкъуэр зэдихьри. ЛъэныкъуитIыр зэзэуа иужь СССР-м Ханко и ипщэ лъэныкъуэр илъэс 30-кIэ къыIихащ тенджыз базэ ирищIыхьын папщIэ.
Совет Союзыр Европэ псор зэкIэлъыкIуэу зыубыд Рейхым и пащхьэм и закъуэу къинат, ар къызэрытеуэнури белджылыт. Мис а пIалъэр игъэIэпхъуэн мурадырт зытещIыхьар мыгъуэр зи мыгъуа пактри. СССР-р зауэм хуэхьэзыртэкъым. Ар зэман хуейт жьы хъуа и дзэ техникэр Iэщэ лIэужьыгъуэщIэхэмкIэ зрихъуэкIын папщIэ. Зыр адрейм темыуэным теухуауэ Гитлер иращIылIа зэгурыIуэныгъэр тхылъымпIэ къудейуэ зэрыщытыр фIыуэ къагурыIуэрт, абы зэман къыхудигъэхуами, хунэсакъым, хуримыкъуар мазэ бжыгъэщ.
Германиер ди къэралым къытеуэхукIэ Сталин Иосиф щыгугъащ зауэр щыщIидзэну пIалъэр игъэIэпхъуэфыну. Нэхъыбэу зытрищIыхьри рейхым фронтитI хузэдэмыхьыну къызэрилъытэрт. АрщхьэкIэ инджылызхэмрэ нэмыцэхэмрэ зэрызэпэщIэтышхуэ щыIэтэкъым. Я кхъухьлъатэхэр къару мащIэкIэ уэгум щызэзауэрт, рейхыр жыжьэрыуэ топхэмкIэ Великобританием и Iуфэхэм еуэрт, арщхьэкIэ Ла-Манш зэпрыкIыну зигъэхьэзыртэкъым. Абы къыдэкIуэу ныбжьэгъугъэ «къытхузиIэ» Берлин зригъэщIат СССР-м и тIасхъапIэ псори. Апхуэдэу щIэгъэкъуэнышхуэ къыхуэхъуащ уащхъуэдэмыщхъуэу къызэрыдэбгъэрыкIуари КъухьэпIэ дзэ округым и унафэщI генерал Павловым и гудзакъэншагъэри (зауэм щIидза иужь ар Москва ираджэри трибуналым и унафэкIэ яукIащ).
Сыт хуэдэу щымытами, 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м и нэхущым бий бзаджэр дивизие 600-м щIигъукIэ СССР-м и гъунапкъэхэм къыщеуащ Тенджыз ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Баренц тенджызым нэсыху. Удын нэхъыщхьэр къыщридзари, зэрагугъам хуэдэу, Украинэракъым, атIэ Белоруссием и щIыналъэрщ. Дэ ди къарухэм я нэхъыбэр Днепр и щIыбкIэ къухьэпIэ гъунапкъэхэм я деж щызэщIэгъэуIуат: зыри пэплъатэкъым нацистхэр шэдылъэ щIыпIэхэмкIэ къызэпрыкIыну. Апхуэдэ щытыкIэм къихута ди зауэлIхэр зэрыгъэгужьеящ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ нэхъ хуэхьэзыру бийм пэувыфар НКВД-м и Iэтащхьэ Берие Лаврентий и IуэхущIапIэм хыхьэ гъунапкъэхъумэхэрщ. Брест быдапIэм и щапхъэр урикъунщ.
АрщхьэкIэ къарухэр зэхуэдэтэкъым. Бадзэуэгъуэм и зэхуэдитIым бийм иубыдащ Витебск къалэр. Ди зауэлI куэд къаухъуреихьащ. Нацистхэм я штаб нэхъыщхьэм и унафэщI Гольдер Гитлер иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыжиIащ тхьэмахуэ зэхуакуитIым къриубыдэу Германиер Совет Союзым текIуауэ: абы къилъытэрт вермахтыр иджы зыми къимыгъэувыIэфыну.
ИкIи, пэжу, щытыкIэр хуабжьу хэплъэгъуэ хъуат. Иджы абы теухуауэ ятххэр зэтехуэркъым. Языныкъуэхэм къэхъуа псомкIи ягъэкъуаншэ Сталиныр. Хэбгъэзыхьмэ, жызыIэ щыIэщ зауэм щIидза иужь гужьея вождыр махуищкIэ зигъэпщкIуу лэжьапIэм емыкIуэлIауэ. А пцIыр япэу зыутIыпщар Хрущёв Никитэщ: «Микоянрэ сэрэ абы и деж дыщыкIуам ар япэщIыкIэ шынат дгъэтIысыну дыхуэкIуа и гугъэу: апхуэдизу гужьеят». Ар пцIы къудей мыхъуу икIи дыхьэшхэнщ. Япэрауэ, псори зыфIэлIыкI Сталиныр езым ажэгъафэ пэлъытэу иIам щышынауэ уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым. ЕтIуанэрауэ, Хрущёви Микояни зэи къарузехьэ IэнатIэ пэрытакъым ар яубыдыфын хуэдэу. Iуэхум хэзыщIыкIхэр, псалъэм и хьэтыркIэ, Маршал Будённый, щыхьэт зэрытехъуащи, зауэм щыщIидза махуэм щегъэжьауэ ар иухыху и лэжьыгъэр зы сыхьэти зэпигъэуакъым: дзэзешэхэр абы и деж псалъэ хъурт махуи жэщи. Тимошенкэ тригъэкIри, СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и цIыхубэ комиссарым и къулыкъури езым къызыхуигъэнащ унафэ псори зы цIыхум зригъэкIуэн хуейуэ къилъытэри. Щыуагъэхэр яIэщIэкIами, ар тэмэму ича лъэбакъуэт, ар гъащIэми къигъэлъэгъуащ.
Фашистхэр лъэныкъуэ псомкIи — ищхьэми, икуми, ищIагъми — къыщебгъэрыкIуэрт. ЕпIэщIэкIыу пэщIагъэува ди дзэхэр абыхэм япэлъэщыртэкъым. Вязмэ «котёлу» тхыдэм хыхьам ди цIыхухэр игъэгулэзащ: зэуэ мин 500-м щIигъу мафIэм и кум къыхэхутат. Абы нэхърэ нэхъ хэплъэгъуэ Iуэху япэкIи иужькIи ди къэралым къыщыхъуакъым Хэку зауэшхуэр иухыху. Уеблэмэ, Сталиным и унафэкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ ар къызыхэкIар зригъэщIэну. Къуаншэри къагъуэтащ. Ар КъухьэпIэ фронтым и Iэтащхьэ Конев Ивант. Комиссэм и унафэщI, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ комитетым хэт Молотов Вячеслав генералыр трибуналым иратыну ткIийуэ къигъэувырт, ар мыкъуаншэу абы и пIэкIэ а фронтым и унафэщIу ягъэува Жуков Георгий жиIэми. Щымыхъум иужьрейр Сталиным и деж псалъэщ, Iуэхур зыIутыр гуригъаIуэри, елъэIуащ Коневыр езым и къуэдзэу къигъэнэну. «Нэхъ тэмэму къызэрыплъытэм хуэдэу щIы», — арэзы хъуащ Нэхъыщхьэ дыдэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Коневыр къелащ (трибуналым IэщIыхьэмэ, ар яукIынут), комиссэм и лэжьыгъэри иухащ.
Ауэ абы щытыкIэр нэхъыфI ищIыртэкъым. Вязьмэ иужькIэ нэмыцэхэр Москва гъунэгъу хуэхъуащ. Япэ фашист бомбэр щыхьэрым щырадзыхащ бадзэуэгъуэ мазэм и кум. Бийм и кхъухьлъатэхэр кIуэ пэтми нэхъыбэрэ къалащхьэм щхьэщыхьэрт. АрщхьэкIэ лажьэшхуэ ямыIэу, бомбэхэр зытрагъэщэща нэгъуэщIхэм еплъытмэ, къызэтенащ уэгур зыхъумэхэм я фIыгъэкIэ. Ахэр псэемыблэжт, дэтхэнэри хьэзырт и хэкум папщIэ и гъащIэр итыну. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Талалихин Виктор и шэхэр щиухым и машинэр нацист кхъухьлъатэм жьэхигъэуащ. Апхуэдэхэм и деж псэууэ укъелынкIэ гугъапIэ гуэри щыIэкъым, ауэ, и насыпым къихьри, къелащ парашюткIэ къелъэри. Езым зэрыжиIэжамкIэ, апхуэдэ псэзэпылъхьэпIэм щыхуэкIуэм зэгупсысар зыщ: «Сэ сыкъемылми, бий кхъухьлъатэм ис нэмыциплIри хэкIуэдэнущ. Аращи, сатекIуэнущ». ЛIыгъэм и щапхъэхэр кIэ зимыIэм хуэдэу гъунэжщ.
АрщхьэкIэ нэмыцэхэм жэуап гуэр иратын хуейт. Абы гушхуэныгъэ къахилъхьэжынут «къуанщIэ фIыцIэхэм» ягъэшына москвадэсхэм. «Берлин еуэн» — ар япэу зигу къэкIам теухуауэ тхыдэджхэм жаIэхэр зэтехуэркъым, ауэ ар икIи Iуэхукъым. Совет авиацэм и унафэщI Кузнецов хуабжьу диIыгъащ а гупсысэр. Кхъухьлъатэхэр зытелъэтыкIыну щIыпIэри къахуигъуэтащ: Ищхъэрэ тенджызым хэт хытIыгум щыIэ аэродромыр. Адрейхэм тет кхъухьлъатэхэр фашист къалащхьэм нэсыфынутэкъым. Сталин Иосиф Iэ зыщIидза унафэр авиадивизием и Iэтащхьэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Водопьяновым и деж нагъэсащ. Абы къигъэувырт Берлин, ар яхузэфIэмыкIмэ Кёнигсберг (иджы Калининград — ред.), бомбэхэр щрадзыхыну. Пэжщ, унафэ пщIыну куэдкIэ нэхъ тыншт ар бгъэзэщIэн нэхърэ. Ауэ дэрэжэгъуэшхуэ яхэлъу Iуэхум яужь ихьащ: аэродромыр зыхуеину пщалъэхэм ирагъэзэгъащ. Мыгувэу абы зэкIэлъхьэужьу телъэтыкIащ бомбэзехьэ хьэлъэхэу 15. Гъуэгуанэр кIыхьым и закъуэтэкъым, атIэ егъэлеяуи дзыхьщIыгъуэджэт — щIалэхэм лъэпощхьэпо куэд къапэплъэрт. Япэ ПВО-м зигъэхъеякъым: нэмыцэхэм ягугъащ пщэрылъ щащIахэр ягъэзэщIа иужь езыхэм я кхъухьлъатэхэм къагъэзэжыну. Бомбэзехьэхэр километри 7 и лъагагъыу кIуэрт. Ар шынагъуэншэт, ауэ градус 40-м нэс щIыIэм игъэдыкъырт. Хуабэу ухуэпами, сыхьэт бжыгъэкIэ абы ухэтыныр уи фэм дэмыхуэн хуэдизт.
ИкIи мис къалъэгъуащ Берлин и уэздыгъэхэр. Жэщыр хэкIэсат. Иужьрей трамвайхэр, гува лъэсырыкIуэхэр я хэщIапIэхэм хуэпIащIэрт. Дакъикъэ зыбжанэ дэмыкIыу къалэр щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщызэщIэлыдащ. Фашистхэм я щыхьэрыр ягъэзджызджащ килограмми 100 зи хьэлъагъ бомбэ зэщIэфиехэм. Сталиным и жыIэр ягъэзащIэкIэрэ къыздащта фугасхэм (мафIэсышхуэ къэзыгъэхъухэм) щытыкIэр нэхъри гужьеигъуэ ящIащ. Ар апхуэдизкIэ зыпэмыплъати, нэмыцэхэм зэуэ зыкъащIэжакъым. Ауэ къэхъуар къащыгурыIуэм сиренэхэр зэщIэгъуэхъуащ, прожекторхэм уэгу кIыфIыр щIащыкIыу щIадзащ, кхъухьлъатэхэм заIэтащ, зениткэхэр, топхэр дэуейрт нэуфIыцIщхьэрыуэу. Ауэ ахэр километри 7 зи лъагагъыу кIуэ бомбэзехьэхэм ялъэIэсыфыртэкъым: апхуэдизу зи щхьэ щытхъуж нацистхэм я прожекторхэр зэрыдэплъеифыр километритхукIэт.
Къэхъуар фашист Германием и дежкIэ напэтехт: зэхикъутакIэу жыхуиIэ къэралым езым и къалащхьэм бомбэхэр къыдедзэ! АрщхьэкIэ напэм емылIалIэ … и пропагандэм хэкIыпIэ къигъуэтащ. Абы ягъэIуащ мыпхуэдэ хъыбар: «Дыгъуасэ и жэщым Берлин къыщхьэщыхьащ инджылыз кхъухьлъатэу 20-м щIигъу. Ди зауэлI хахуэхэм абыхэм ящыщу 6 къраудыхри, адрейхэр ирахужьэжащ». Ауэ пцIыр куэдрэ зекIуакъым. Сэбэп хъуащ Лондон и радиор: абы жиIащ зи гугъу ящI зэманым дунейр зэкIэлъымыкIуэу зэрыщытам къыхэкIыу, Великобританием и зы кхъухьлъати уэгум зэримыхьар. Сыт ящIэнт, заумысыжын хуей хъуащ Берлин еуар совет кхъухьлъатэхэр зэрыарамкIэ. Нэхъыщхьэращи, къагурыIуэрт ахэр дяпэкIи къызэрыкIуэнур икIи зыри зэрахуэмыщIэнур. ФокIадэр къэсу ди кхъухьлъатэхэр зытелъэтыкI аэродромыр бийм зэтрикъутэху апхуэдэ щIыкIэкIэ бомбэ тоннищэхэр нацистхэм я гъуэм ирадзащ. Зауэм и екIуэкIыкIэм ижь щIимыхуми, ар ехъулIэныгъэшхуэт. НэгъуэщI Iуэхущ адрей IэнатIэхэм щахузэфIэкIар. Абыхэм ящыщщ «рельс зауэкIэ» зэджэр.
ХэщIыныгъэ хьэлъэ иратырт зэрыпхъуакIуэхэм яубыда щIыпIэ куэдым къыщызэрагъэпэща партизан отрядхэм, диверсие зылэжь гупхэм. Абыхэм бийм и хэщIапIэхэр, фронтым кIуэ мафIэгухэр къагъауэрт. А псоми куэд тратхыхьащ, дэ нэхъ зи гугъу тщIынур тхыдэджхэми журналистхэми нэхъ мащIэрэ фIэкIа къамыIэта Iуэхухэрщ. Мис абыхэм ящыщ зы.
«Урыс спецназым и адэшхуэу» къалъытэ Старинов Илья Испанием щекIуэкIа граждан зауэм зыкъыщигъэлъэгъуат диверсие Iуэхум куу дыдэу хэзыщIыкI цIыхуу. Абы и жыIэм щIэту ягъэтIылъа лагъымхэмкIэ хьэбэсабэу зэхакъутат урым дивизием и штабыр зэрыса мафIэгур. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащыну тхылъхэр ягъэхьэзырауэ 1937 гъэм къигъэзэжат, ауэ абы и пIэкIэ пцIы къытралъхьэри зэхэзехуэн ящIащ, ягъэтIысащ. Стариновыр къезыгъэлар Ворошиловырщ. Абы а зэманым НКВД-м и Iэтащхьэу щыта Ежов хуигъэуващ ордензехьэм и гугъу ямыщIыну. Полковник цIэр фIащри, Стариновыр РККА-м и щIэныгъэ-къэхутакIуэ гъущI гъуэгу полигон нэхъыщхьэм и унафэщIу ягъэуващ. Абдежи къыщигупсысащ «къыпхущIэмых лагъымхэр — къыщагъэуэну пIалъэр ягъэIэпхъуэ хъухэр». Ар щэнейрэ Совет Союзым и ЛIыхъужь, апхуэдиз дыдэри генерал ящIыну къагъэлъэгъуат, арщхьэкIэ сыт щыгъуи щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ къызэпыуда хъуащ.
Стариновыр псом хуэмыдэу цIэры-Iуэ зыщIар генерал-лейтенант Георг фон Браун я пашэу фашистхэм я 53-нэ дивизием и унафэщI псори 1941 гъэм Харьков зэрыщызэтриукIарщ. Генералым увыIэпIэ ищIат а къалэм и унэ нэхъ дахэ дыдэр, зэгуэр Хрущёв Никитэ зыщылажьэу щытар. Ауэ къагурыIуэрт ди дзэхэр щикIуэтым зэрыпхъуакIуэхэм я нэ къыфIэнэну псори лагъымкIэ къызэрагъэтIылъыхьар. А лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIат езы Стариновым и унафэм щIэту. Апхуэдэуи хъуащ: Дзержинскэм и уэрамым тет а унэ дэгъуэм сапёрхэм къыщагъуэтащ псори зэхэту тротил килограми 150-рэ. Я ехъулIэныгъэм нэмыцэхэр апхуэдизкIэ игъэгушхуати, абыхэм директивэ щхьэхуэ къыдагъэкIащ мы псалъэхэр иту: «Полковник Стариновым «къыпхущIэмых» и лагъымхэр нэпцIу къыщIэкIащ. Вермахтым и сапёр гъуэзэджэхэм, уеблэмэ, Iэмэпсымэ гуэри къагъэсэбэпын хуей хъуакъым IэмыкIуэлъэмыкIуэу ягъэувахэр къагъуэтын папщIэ». Директивэр къыщыдэкIар 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-рщ, ауэ щэкIуэгъуэм и 14-м унэ зыбжанэ зэтезыгъэщэха лагъымхэр Харьков къыщыуащ. Абыхэм хэкIуэдащ фон Браун и деж банкетым щызэхуэса офицер псори — къанэ щымыIэу дивизием и унафэщIхэр.
КъызэрыщIэкIамкIэ, «вермахтым и сапёр гъуэзэджэхэм» къагъуэтар къызэрагъапцIэ къунтх къудейрт, адрейхэр куууэ щIэуфат. Ахэр Воронеж щыIэ радиодетонаторымкIэ къагъэуащ.
Хэку зауэшхуэм и япэ илъэсхэм СССР-м къехъулIахэм ящыщщ Инджылызыр и гъусэу Ираным егъэщIылIа Iуэхур зэрызэфIагъэкIар. Фашистхэр щIыналъэм псынщIэу къыкIуэцIрыкIыу хуежьа иужь, а къэралым и пащтыхь Реза Пехлеви Гитлер и дежкIэ еплъэкI хъуат. Тегеран куэду кIуэрт нэмыцэ хьэрычэтыщIэхэр, абы щызеуэрт абверым и тIасхъэщIэххэр. Нэщэнэ псоми къыбжаIэрт нацистхэм Ираныр зыIэрагъэхьэну зэрызагъэхьэзырыр. Ар егъэлеяуэ шынагъуэт Совет Союзми Великобританиеми я дежкIэ: итIанэ Ираным и лъэныкъуэмкIэ къикIыу Кавказми а зэманым инджылыз колониеу щыта Индием и гъунапкъэхэми ялъэIэсыфынут. Ар къэбгъэхъункIэ Iэмал зимыIэт. Москварэ Лондонрэ нотэхэмкIэ мызэ-мытIэу Тегеран зыхуагъэзащ ар зэрыхуамыдэнур гурагъаIуэу, ауэ ахэр жэуапыншэу къэнащ. Апхуэдэу щыхъум Кавказым ираша совет дивизиеу 15-рэ инджылыз дивизиеу 4-рэ танкхэмкIэ Ираным и щIыналъэм кIуэцIрыкIащ къыпэрыуэшхуэ щымыIэу. Реза Пехлеви езым и пIэкIэ и къуэр къигъанэри къэралым икIащ, Ираным и щIыналъэр IыхьитIу зэхуагуэшащ, Гитлери пыкIащ ар иубыдыну иIа мурадым. Иджы ар зыхущIэкъуар СССР-м и къалащхьитIыр — Москварэ Ленинградрэ — зэрипхъуэнырт. Япэу гузэвэгъуэр лъэIэсащ ищхъэрэ щыхьэрым: шыщхьэуIум бийм хузэфIэкIащ ар къиухъуреихьын, ауэ дыхьэфакъым. Ди зауэлIхэм, «революцэм и гущэр» псэемыблэжу яхъумэрт. Нэмыцэхэр хэтащ Совет Союзым гужьгъэжьгъ бзаджэ къыхузиIэ Финляндиер зыдигъэIэпыкъуну, уеблэмэ, финхэм хуагъэлъагъуэрт щебгъэрыкIуэну щIыпIэр — Карелие ЗэпырыкIыпIэр. Мыбдеж мыхьэнэ ин зиIа къалэн щагъэзэщIащ ди тIасхъэщIэххэм: абыхэм фашистхэм хуаIуэхурт Ленинград нобэ-пщэдей зитыну, афIэкIа зимыхъумэжыфыну, финхэр ягъэшынэрт щебгъэрыкIуэну хухаха щIыпIэм Советхэм къаруушхуэ щызэщIигъэуIуауэ жраIэурэ. Мис апхуэдэ «джэгухэр» сэбэпышхуэ хъуащ: хэщIыныгъэ хьэлъэхэр ягъуэтыну зи фIэщ хъуа финхэр тегушхуакъым Ленинград ебгъэрыкIуэну. Гитлери елIэлIэжакъым ахэр къигъэдэIуэным, абы и пIэкIэ унафэ ищIащ генерал-полковник Гёпнер Эрих и 4-нэ танк армэр арыншами «зи псэр хэкI» Ленинград къытричу Москва и лъапэм игъэIэпхъуэну. Ар къэсыным пэплъэу тIысыжащ Москва ебгъэрыкIуэ «Центр» дзэ гупыр. 1941 гъэм Япониер СССР-м и бий зауэм зэрыхэмыкIынум теухуауэ ди тIасхъэщIэх гъуэзэджэ Рихард Зорге къыбгъэдэкIа хъыбарыр и те-гъэщIапIэу Сталиным ар жьыдэху- пIэу ирикъуащ КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIэ ди дивизэм зыкъом къришын папщIэ.
АдэкIэ къэхъуам дэ дыщыгъуазэщ. Ленингад къызэращтэну къару фашистхэм яхурикъужакъым. Абы хузэфIэкIар ар блокадэм щIигъэтынущ. Къалэм щыпсэухэр а гъэунэхуныгъэ хьэлъэм къикIащ лIыгъэшхуэ яхэлъу икIи я напэр зытрамыхыжу.
Москва и деж Iуэхур зэрыщыщытыр нэгъуэщIущ. Бжьыхьэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу бийм иубыдакIэт щыхьэрым и гъунэгъу къалэ, къуажэ куэд. Европей политикхэм шэч къытрахьэжыртэкъым нэмыцэхэм ар къызэращтэнум, зэрызэтемыхуэр ар къыщыхъуну жыхуаIэ зэманымкIэт: языныкъуэхэм зы мазэ жаIэрт, адрейхэм апхуэдизи иратыртэкъым.
КIуэтэхукIэ щытыкIэр нэхъри зэщIэплъэрт. Радиом къитхэм уагъэгузавэрт. Фашистхэм Можайск и лъэныкъуэмкIэ фронтыр къызэрызэпратхъам теухуа хъыбарыр къызэрыIуу къалэдэсхэр хьэжэпхъажэ хъуащ. СССР-м и лъэпкъ псоми ящыщ зауэлIхэм лъыр къапыжу Москва щахъумэ зэманым абы щыпсэухэр къэдзыхащ. Япэу «щапхъэ» зыгъэлъэгъуар фабрикэхэм я унафэщIхэрщ. Езыхэм я IуэхущIапIэхэм я автомашинэхэм я унагъуэхэр ирагъэтIысхьэщ, унэлъащIэ, алэрыбгъу хуэдэхэр иралъхьэри, ахэр зэрехьэжьащ. Жэпуэгъуэм и 16-р щыхьэрым и тхыдэм «махуэ фIыцIэу», «напэтех махуэу» хыхьащ. Прокуратурэм иужьым къызэрихутамкIэ, а махуэмрэ къыкIэлъыкIуэмрэ унафэщI лэжьакIуэхэу 780-м нэблагъэм псори зэхэту сом мелардрэ мелуан 500-рэ зэкIэщIаупщIэри ежьэжащ, автомобиль псынщIэхэу, хьэлъэзешэхэу 100-м хуэдизымкIэ. Сыт щыгъуи хуэдэу «къыхэжаныкIахэм» яхэтащ парт, совет къулыкъущIэхэр. Парт билетхэу 1551-рэ ягъэсыжауэ къахутащ. КIэрыутIыпщу уэрамхэм къыдэна цIыхухэм мылъкур зрапхъуэу щIадзащ. ЩIэпхъаджащIэ хуэмэбжьымэхэм тыкуэнхэр, псом япэу дыщэхэкIхэр зыщIэлъхэр яхъунщIэрт. Абыхэм ящыщ зыр яубыдащ сабий къызэрырашэкI гу цIыкIукIэ дыщэхэмрэ налкъутхэмрэ ишэу.
Ауэ апхуэдэу зэрыщытар махуитI къудейкIэщ. Сталиныр Москва дэкIакъым, абы къалэдэсхэр къигъэгуш-хуэжащ. РадиокIэ къэпсэлъащ Жуков Георгий. Макъ быдэкIэ абы жиIащ Москва зауэ щытыкIэ зэрыщагъэувыр икIи абы къыщыгъэлъэгъуа хабзэ ткIийхэм псори текI имыIэу тетын зэрыхуейр, апхуэдэуи къагуригъэIуащ Совет Союзым и щыхьэрыр зэрырамытынур. Москва и дэкIыпIэ псори зэхуащIащ. МахуитI нэхъ дэмыкIыу цIыхухэр зэтесабырэжащ.
Совет лъэхъэнэм къалащхьэм щыпсэухэр зымыгъэдахэ мы Iуэхур щIэуфат. Сыт атIэ ар иджы дигу къыщIэдгъэкIыжыр? ЩытыкIэр Москва и мызакъуэу, къэрал псом и дежкIи гужьеигъуэу зэрыщытар къридгъэлъэгъуэн къудей щхьэкIэщ. ЖытIэнщи, хьэгъапхъэхэмрэ хьэжьвакъэжьышххэмрэ хагъэкъэбзыкIа иужь, къалащхьэм щыпсэухэм ящыщ куэд цIыхубэ ополченэм хыхьэри, фашистхэм япэщIэуващ, адрейхэр я къару емыблэжу лэжьащ.
ХЭКУ ЗАУЭШХУЭМ ТЕУХУА ТХЫГЪЭХЭР
Хэку зауэшхуэр, абы лIыгъэ щызезыхьа ди цIыхухэр къызыхэщыж художественнэ тхыгъэхэр
Брат Хьэбас. «Замир»
Мурадыр:
• Брат Хьэбас и рассказ «Замир» жыхуиIэр гукъинэ зыщI Iэмалхэр къэхутэныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэн;
• анэм и лIыгъэр, и хахуагъэр нэсу зэпкърыхыныр;
• зауэ зэманым цIыхухэр зэкъуэт зыщIыфа къарум тепсэлъыхьыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• зауэ зэманым екIуэкIа гъащIэ хьэлъэр тхакIуэхэм я творчествэм къызэрыхэщым;
• зауэ зэманым зэмылъэпкъэгъу цIыхухэр гукIи псэкIи гъунэгъу зэрызэхуищIу щытам.
Дэ къэтщIэнущ:
• шэрджэс анэм лIыгъэшхуэ зэрызэрихьар;
• лIыхъужьхэм я псэлъэкIэм, гупсысыкIэм елъытауэ я хьэл-щэнхэр зыхуэдэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• тхакIуэм езым рассказым къыщиIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм хуиIэ еплъыкIэр къэтхутэфу;
• Брат Хьэбас и тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр зытещIыхьа и лIыхъужьхэр къэдгъэлъэгъуэфу.
Тест лэжьыгъэхэр
Мурадыр:
• сыту пIэрэ Шыбзыхъуэ Мухьэдин и «НатIэху» рассказым хьэлэмэтагъыу хэлъыр? Сыт хуэдэ лIыгъэ Шунэху зэрихьар? УпщIэхэм я жэуапхэр зэпкърыхыныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэн;
• Шунэху гугъу зригъэхьу НатIэху щIыкIэлъыплъам и щхьэусыгъуэр къэхутэныр;
• щIалэ цIыкIум хэлъ хьэл-щэнхэр зэпкърыхыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• Шыбзыхъуэ Мухьэдин и рассказ купщIафIэ «НатIэху» жыхуиIэм;
• шым рассказым щигъэзащIэ къалэн нэхъыщхьэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• Шунэхурэ и адэшхуэмрэ шым кIэлъыплъкIэрэ лIыгъэшхуэ зэрызэрахьар;
• шыр нэмыцэхэм яIэщIэмыгъэхьэнымкIэ лIыгъэ зезыхьа лIыхъужьым къигъэсэбэпа Iэмалхэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• зауэ зэманым лIыгъэ зезыхьа еджакIуэхэм щапхъэ къатетхыфу;
• щIэблэм ялэжьа IуэхуфIхэм щхьэкIэ насыпыфIэу зыкъалъытэжынымкIэ дадэIэпыкъуфу.
Тест лэжьыгъэхэр
Журт Биберд. «Дадэ деж лъагъунлъагъу»
Мурадыр:
• Журт Биберд и рассказ «Дадэ деж лъагъунлъагъу» жыхуиIэм и гупсысэ нэхъыщхьэр къэхутэныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэн;
• щIалэ цIыкIуитIым я ныбжьэгъугъэм и мыхьэнэр къагурыгъэIуэныр;
• зауэ зэманым еджакIуэхэм зэрахьэу щыта лIыгъэм тепсэлъыхьыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• ди хэкум щыпсэу цIыхухэм зэкъуэту текIуэныгъэр къэгъэблэгъэным зэрыпэщIэтар;
• зауэ тхыгъэм къыхэщ щIалэ цIыкIухэр зыхуэдэу щытам.
Дэ къэтщIэнущ:
• рассказым къыщыхъу Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр дэнэ деж щекIуэкIми;
• Хьэсэн мышынэу совет зауэлIхэм зэрадэIэпыкъуа щIыкIэр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ къэхъуам рассказым пэгъунэгъуу дытепсэлъыхьыжыфу.
Тест лэжьыгъэ
Щомахуэ Амырхъан. «ЗэкъуэшитI»
Мурадыр:
• «ЗэкъуэшитI» рассказыр гукъинэ зыщI Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр къагурыгъэIуэныр.
Къалэнхэр:
• рассказым къеджэн;
• Къэралбийрэ Чапайрэ зэеъуэшитI щIэхъуар зэпкърыхыныр;
• Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым псалъэжьым и мыхьэнэр зэпкърыхыныр.
Дэ щыгъуазэ зыхуэтщIынущ:
• сабий унэхэм хуэдэхэм зауэ зэманым я мыхьэнэу щытам;
• Къэралбийрэ Чапайрэ я зэныбжьэгъугъэр къызэрежьа щIыкIэм.
Дэ къэтщIэнущ:
• зэныбжьэгъуу къежьа щIалэ цIыкIухэр зэкъуэш зэрызэхуэхъуа щIыкIэр;
• зауэ зэманым щыгъуэ цIыхухэм (зэмылъэпкъэгъухэми, зэмыIыхьлыхэми) яхэлъа гуапагъэр зыхуэдизыр.
Дэ зедгъэсэнущ:
• ныбжьэгъугъэми къуэшыгъэми я мыхьэнэхэр нэсу зыхэтщIэфу;
• ныбжьэгъухэр дгъэпэжыфу.
Тест лэжьыгъэхэр
Начните вводить текст и нажмите Enter для поиска
Кабардино – Балкарский
государственный университет
им.Х.М. Бербекова
Конкурс эссе
«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»
«Напэр псэм япэщ»
Лэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:
Бахъсэн къалэ дэт етхуанэ
еджап1эм
и епщ1анэ классым щеджэ
Азычэ Ясминэ
Егъэджак1уэр:
Л1эужь Залинэ
2021 гъ.
Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар. ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, усакIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэуал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэуатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр. Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ. ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI… ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.
Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр
Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!
Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,
ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!
ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,
КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,
Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ
ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.
Окопым
къокIри зы долъей,
И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.
ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,
Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.
Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.
ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:
«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,
Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»
1945 гъ.
(К1ыщокъуэ
Алим)
Сочиненэ
Ди хэкум и усакlуэ Гъубжокъуэ Лиуан и творчествэм теухуауэ
«Сэри утезгъэуващ гъуэгуанэ
Уэ, си усэ. Ар мы гъуэгу зэтес,
Цlыхухэм я гум гуапэу унэсыну
Сыпщыгугъуу си дзыхь узогъэз»
Гъубжокъуэ Лиуан
Ди адыгэ литературэм лъэбакъуэ узыншэкlэ, быдэкlэ къыхыхьа Гъубжокъуэ Лиуан Советскэ (Черекскэ) районым щыщ Жэмтхьэлэ къуажэм къыщалъхуащ. Гъубжокъуэм усэн пасэу щlидзащ. Дэтхэнэ зы усакlуэми и творчествэм лъабжьэ быдэ хуэхъур, япэ дыдэу къалэмыр къызэрищтэу игу къэкlыр махуэ къэсыхукlэ блэ дыгъэрщ, къэзылъхуа и адэ-анэрщ, мазэгъуэ жэщ дахэрщ, зыщыпсэу къуажэрщ, зэпымыууэ зыlуплъэ бгыжьхэрщ, емышу зыщlэдэlу псыlэрышэ ушэрщ, и ныбжьэгъу цlыкlухэрщ, гъатхэ гуфlэжырщ, бжьыхьэ нэщхъейрщ, щlымахуэм и уэс зэщысыкlырщ-нэгъуэщlу жыпlэмэ, къызыхэхъукl гъащlэм мы зэкlэ и нэгу къыщlигъэувэхэрщ. Къыдэкlуэтеиху, дауи, усакlуэм и тематикэм зеубгъу, и зэфlэкlым хуохъуэ, ауэ зэман кlэщlкlэ имыгъэзэжын лъэкlыркъым и къежьапlэм, и адэжь бжэщхьэlум гъуэгуу щыlэм ирашэлlэж.
Гъубжокъуэм и поэзием и купщlэри аращ — Жэмтхьэлэщ, Шэрэджщ, и къуажэгъу гуащlафlэхэрщ, щалъхуа лъахэрщ, зыщыпсэу къаралыгъуэшхуэрщ, нобэ зыдэпсэу цlыху пашэхэрщ, лъэпкъ зырыз къыхэкlами, зы анэ и бгъафэ щlапlыкlа хуэдэу зэдэпсэухэрщ. Лиуан и тхыгъэ нэхъыбэм къыхощ хэти и адэжь щlыналъэм хуиlэн хуейщ лъагъуныгъэр. Ахэри псалъэ гъущэкlэ, «фlыуэ фызолъагъу жиlэу зэпымычу тхьэ имыlуэу, образнэу, кlэщlу, гукъинэжу къытхуеlуатэ:
«Нартыжьхэу пфlощlыр мо ди къуршхэр,
Къыр папцlэ лыдхэр къамэм ещхьщ.
Яхъумэ Хэкури, жейр я хамэу,
Замыгъэпсэхуу гъащlэр яхь.
Зэлъащ я натlэр, мэгупсысэ,
Блэкlа зэманыр щlэтщ я нэгу.
Абыхэм я щхьэр тхъуами уэсу,
Уеджам къоджэжыр-хъуакъым дэгу.
Зэи зыщахкъым бгырыс фащэр.
Уэс хужь лэдэххэр я хьэзырщ.
Къимыкlуэтыныр я гуращэщ,
Лъахэ хъумэным хуэхьэзырщ.
Къурш плъырхэр зыми щымысхьыну…
Зэгуэр къылъысмэ лъахэм лей,
Ялъа къыр-къамэр къаутlыпщынущ,
Ар хуэзэу бийм и гущхьэм дей!
«Къурш плъырхэр» Гъубжокъуэ Л.»
Лиуан ди усакlуэ нэхъ гумащlэ дыдэхэм ящыщщ жытlэмэ, дыщыуэну къыщlэкlынкъым. Абы и щапхъэщ мыпхуэдэ псалъэхэр:
Сэ розэ банэм сиуlащ,
Ириlэу lэр лъы пщтыркlэ.
Арщхьэкlэ си гум къемыlа,
Гъэгъахэм я хьэтыркlэ.
Мэз бжэным фочыр езгъэпщат,
Зикl кlакхъур схущlэчакъым.
Щlэжьей абы кlэлъыущар,
Зеиншэ сщlын слъэкlакъым.
Критик гъуэзэджэ Сокъур Мусэрбий и псалъэхэр щыхьэт тохъуэ мы сатырхэм къыщиlуатэм:
«Гущlэгъумрэ гумащlагъ щабэмрэ бжьыпэр щаlыгъщ Гъубжокъуэ Лиуан и лирикэм.
Ди усакlуэ псоми хуэдэу Гъубжокъуэри куэдым тотхыхь: Хэкум, ди тхыдэм хэт лlыхъужьхэм, ди лъэпкъ хабзэ дахэхэм, Хэку зауэшхуэм ди зауэлlхэм щызэрахьа лlыгъэм, гъащlэм хэлъ гуфlэгъуэхэм, ныбжьэгъугъэхэм, щlалэгъуалэм и lэпэгъу лъагъуныгъэм.
А псоми Лиуан езым и нэкlэ йоплъыф, нэгъуэщхэм къыхамылъагъукlа къахелъагъукlыф.
Псом хуэмыдэу, абы псалъэ гуапэ дыдэхэр къегъуэт Хэкум щызихуигъазэм и деж.
Гъубжокъуэм и тхыгъэ гъуэзэджэ «Си лъахэ-си удз дахэ» жыхуиlэр си гугъэмкlэ, ди адыгэ лирикэм и фlыпlэ, нэхъ и лъагапlэ дыдэхэм ящыщщ. Усэм къиlуатэ гупсысэр куущ, емыкlуу зы псалъи хэткъым:
Уэшх къошх,
Е цыlэрылъхьэу уэсыр къос-
Ди щlылъэр щремыщlэ зэи удз дахэ!
Ажалыр бжэм нэхъ благъэщ-
Хъумэ къэс-
« Си ужьыр махуэ пхухъу…» —
Бжызоlэ, лъахэ.
Усакlуэм и темэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ гуащlэдэкlыр. Гъубжокъуэм япэ дыдэу къыдигъэкlауэ щыта усэ тхылъыр-«Шэрэдж толъкъунхэр»зыф1ищар, къызэ1уех «уащ1эдэк1ым сыхуоусэ»жыхуиlэ тхыгъэмкlэ.
Гъубжокъуэм етх: «Сэ гуащlэдэкlым сытемыусыхьмэ, стхы псори псыхэкlуадэ хъуа къысфlощl». Лиуан щыстудентым мызэ-мытlэу яхэтащ щlыщlэм гъавэр щыlузыхыжхэм. «За освоение целинных земель» медалитlи къыхуагъэфэщауэ щытащ фlыуэ зэрылэжьам къыхэкlыу. Щlыщlэм здэщыlэм абы итхащ поэмэ «Щlыщlэ пшыналъэ». Поэмэм удихьэхыу укъоджэ. Поэмэм усакlуэм щызэхиухуэнащ и щlалэгъуэу и нэгу щlэкlа lуэхугъуэхэмрэ нобэ илъагъухэм тепсэлъыхь lыхьэхэмрэ. Поэмэр еухыж «Къэхъуну щlэблэм хуатх письмо» зыфlища lыхьэ цlыкlумкlэ:
Тlыфх ди сэламыр,
Къытщlэхъуэну щlэблэ,
Фи гъащlэр мамырыну,
Дывохъуэхъу!
Гугъу дыщlехьар фэращ,
Къарум демыплъу,
Дыфщlыгъуу дэри
Фэ къызэщывгъэхъу
Дэ къытщlэхъуэну щlэблэ насыпыфlэ,
Къэхъункъым, дауи, фэ lуэху фхуэмыщlэф,
Зэманыр, нэхъыфlыжу фхуагъэбжьыфlэу
Ди lуэху дахэм адкlэ къыпыфщэф.
Зи сабийгъуэр зауэ лъыгъэм илыпщlа, гъащlэм щыхыхьэ дыдэм зи дыгъэр топышэ lугъуэм щlилъхьэфауэ щыта щlэблэм ящыщщ Гъубжокъуэ Лиуан. Апхуэдэу щыщыткlи гурыlуэгъуэщ усакlуэм зауэм, мамырыгъэм и темэм къытригъэзэжурэ щытетхыхьыр:
«Щlэблэр топ уэ макъым зыкlи хуейкъым,
Къыхэмыщтыкlыу ахэр ирежей…
Щlыми, псыми, уэгуми фыщызекlуэ,
Зауэ гъуэгур къыхэвмых къудей!
Гурыхьщ, гуакlуэщ, гурэ псэкlэ зэхыбощlэ Гъубжокъуэм и лирикэр. Ар фlыуэ цlыхум хэлъ псор зи фlыщlэ анэ гумащlэр, дунеягъэм и къэхъукъащlэ зэмылlэужьыгъуэхэр, ныбжьэгъугъэ пэжыр, лъагъуныгъэ къабзэр зыгъэлъапlэ лирикэщ. Сэ сызэреплъымкlэ, ди усакlуэхэм яхэткъым анэм хуэмыуса. Ауэ Лиуан хуэдэу а темэм къытезыгъэзэж, нэхъ куэдрэ тетхыхь гъуэтыгъуейщ.
«Къазэхъстан щ1ыщlэ» поэмэм и щlэдзапlэ псалъэм Лиуан мыпхуэдэу щыжеlэ, цlыху псом зэрепсалъэм хуэдэу и анэм и сурэтым ар lуплъэурэ:
Укъызоплъ сурэту уфlэлъщ блынми:
Япэм хуэдэу уэ сомыгъэжьэф,
Жыпlэу гъуэгум къыщысщхьэпэжынуи
Гъуэгу гъуэмылэ тlэкlу схуомыгъэжьэф.
Ара сфlощl къызжаlэри нэщхъейуэ
Уэ уи нитlу нобэ къыстенам,
Зэхызощlэ ахэм щlэт гукъеуэр:
Уныздэкlуэтэнут уэ плъэкlам.
Икъукlэ псалъэ гуапэ куэд зыхуэфащэщ Гъубжокъуэ Лиуан. Лиуан и творчествэр сэ куэд щlауэ си гум дохьэ. Усакlуэм и lэдакъэщlэкlхэм гу лъумытэнкlэ lэмал иlэкъым. Сэ сызэреплъымкlэ, мыбы и дэтхэнэ зы усэми хыбогъуатэ адрейхэм жамыlэфа, гу зылъамыта lуэхугъуэ куэд. Гъубжокъуэм и усэр псалъэ гъущэкlэ тхакъым, образнэу, кlэщlу, гукъинэжыу бзэ дахэкlэ тха хъуащ.
Усакlуэм и lэдакъэ къыщlэкlа тхыгъэр нэхъ си гум, си псэм щlыдыхьэр абыхэм пэжагъ куэд хэлъщи аращ. Лиуан, сэ къызэрысщыхъумкlэ, нэ жан зиlэ, гу къабзэ зыкlуэцlылъ, зэхэщlыкl лъагэ зыхэлъ усакlуэщ. Гъубжокъуэ Лиуан и усэр рифмэ, ритмикэкlэ къулейщ, бзэ дахэкlэ, шэрыуэкlэ зэрытхам ахэр къарууфlэ икlи гурыхь ящl. Си сочиненэм кlэух хуэсщlыну сыхуейт Тхьэгъэзит Зубер Лиуан хуитха «Жэмтхьэлэ» усэм щыщ сатырхэмкlэ:
Уи деж сыщыlэщ уи къуэм щlыгъуу,
Сыкъыпхуэкlуауи лъагъунлъагъу,
Сэ гу къэбзагъ абы дэслъагъур
Жэмтхьэлэ, уэри бдызолъагъу.
Жэмтхьэлэ, уи къуэм къуипэс псалъэр
Уи дежкlэ хъунущ гурымыху,
Сэ си ныбжьэгъум сыхуэхъуапсэу
Схьынщ си дунейр ,щ1ым сытетыху.
Сыдэтщ зысплъыхьу уи уэрамхэм,
И сабийгъуэр слъагъу къысфlэщlу,
И анэу дунейм ехыжами,
И кхъащхьэм щхьэщэ сэ хузощl.
Гъищэ си ныбжьу лlыжь сыгъэхъуи
Сэ сщыгъупщэнкъым къысхуэпщlар
Ныбжьэгъуу сиlэр, уэр мыхъуамэ,
Жэмтхьэлэ, зыкlэ нэхъ мащlэнт…
Сочиненэ
Темэр: «Ди щ1ыналъэм и усак1уэ»
Зыгъэхьэзырар:
МКОУ СОШ №3 и 9 «В» классым
щеджэ Мамхэгъ Аминэ
Егъэджак1уэр:
Нэгъуей А.М.
Обновлено: 12.03.2023
Зауэ куэдым зэгъусэуи, я закъуэуи пэщ1этащ лъэпкъит1ыр, ауэ езы т1ум сыт щыгъуи яку зэгуры1уэныгъэ дэлъащ. Зы Хэкум ущиск1э узыунагъуэщ, зы унагъуэм исхэр 1эмал имы1эу ф1ыуэ зэрылъагъун, зэры1ыгъын хуейщ. Ахэр зэкъуэтмэ, абы пэлъэщын къару щы1эу си ф1эщ хъуркъым. Арауэ къыщ1эк1ынщ, дэ лъэпкъит1ым, мы нобэ дызэрыс щ1ыналъэ дахэр щ1ытхуэхъумари. Ди бзэр зэгъунэгъуу щымытми, куэдк1э зэщхьщ ди диныр, хабзэхэр, ц1ыхугъэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, псом япэу аращ ди лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэр къэзышэри.
Икъук1э мыхьэнэшхуэ щи1эщ гъащ1эм ди лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэм. Ищхьэк1э зэрыжыс1ащи, зы унагъуэу щыт лъэпкъит1ыр дызэгурымы1уэмэ, щ1эх дыдэу дахуэгъэк1уэдынущ. Балъкъэрхэм я п1эк1э нэгъуэщ1 зы лъэпкъышхуэ гуэр апхуэдэу гъунэгъуу къыдбгъэдэсамэ, дызэхигъэшыпсыхьыжынри шынагъуэт. Апхуэдэ зэгуры1уэныгъэ щымы1эмэ, ди нобэрей махуэк1э къытхуэна хабзэ дахэхэр, ц1ыхугъэ иныр, нэмысыр абыхэм нэмыщ1амэ, тф1эк1уэдыжынк1и хъунт.
Я Хэку дахэр яхъумэжын папщ1э лъэпкъит1ыми ялъэк1 къагъэнакъым, абы къыхэк1ыуи Нэгумэ Шорэ апхуэдизу зыщ1эхъуэпса тхылъыр къащтэу, 1эщэр щ1эх ягъэт1ылъакъым абыхэм. Адыгэхэмрэ Балъкъэрхэмрэ я тхыбзэм икъук1э гъуэгу ц1ык1ущ къик1уар, ар зы ц1ыху гъащ1э хъууэ аркъудейщ.
Икъук1э купщ1эшхуэ, гупсысэшхуэ и1эщ мы рассказым, текст лъабжьэм щ1элъ гупсысэр куущ, мыхьэнэшхуэ зи1эщ. Тхак1уэм къигъэлъагъуэм хуэдэу зэкъуэшу, зыкъуэту а зэманым псори бийм пэщ1эмытамэ, къэхъунур шынагъуэт. Гуауэм гъунэгъу узыхуещ1, узырешал1э жа1э, ауэ абы и закъуэкъым ущызыкъуэтын хуейр. Дунейр мамыр хъужа иужь Мусэ балъкъэр щ1алэ ц1ык1ур и унагъуэм къешэри езым къуэ, и къуэм къуэш хуещ1.
Мы рассказыр 6-нэ классым я учебникым итщ. Икъук1э мыхьэнэшхуэ и1эу къысщохъу, зи гупсысэм зиукъэбз сабийм и пащхьэм лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэм укъыхуезыджэ тхыгъэ зэрыралъхьам, школ программэм зэрыхагъэхьам щхьэк1э. Рассказым щапхъэ зытехыпхъэ л1ыхъужь куэдым дащрохьэл1э, мамрыгъэм, ныбжьэгъугъэм укъыхуезыджэ гупсысэхэрщ рассказым щыпхышар.
Балъкъэр лъэпкъыр хуит къащ1ыжа иужь Мустэфа къегъэзэжри 1эминатрэ абырэ я насыпыр зы ящ1.
Щомахуэр партийнэ лэжьак1уэу зэрыщытам ижь щ1имыхуу къэнакъым абы и тхыгъэхэми. Амырхъан и романым хэт 1эминат и образымк1э Къэбэрдейр зэрыщыту къигъэлъэгъуащ, ар дахэщ, бжьыф1эщ, и гурэ и щхьэрэ зэтелъщ, лэжьак1уэ нэсщ, щ1эныгъэ и1эщ, ауэ ар (Къэбэрдейр) Щомахуэм зэритхымк1э насыпыншэщ и 1эплъэпкъым щыщым хуэдэу ф1ыуэ илъагъу, балъкъэр лъэпкъым и л1ык1уэ Мустэфа пэ1эщ1эщи.
Тхак1уэм мыр хуиусащ, лъэпкъит1ми я ц1ыху пажэхэу Пащ1э Бэчмырзэрэ, Кязим Мечиевымрэ. Лъэпкъ литературэм зегъэужьыным япэ лъэбакъуэ хэзычахэм ящыщщ т1ури. Щомахуэм къегъэлъагъуэр мы т1ури зыкъуэту, зэныбжьэгъуу, абык1э лъэпкъит1ым я зэхущытык1эр къигъэлъагъуэну яужь итщ. Абы щыхьэт тохъуэ мы псалъэхэр:
Псалъэ 1ущхэр усэ хъужти,
Техуэрт шэуэ бийм я гущхьэм.
Л1ыуэ т1ури мышынэжти,
Щхьэщэ зымыщ1т залым пащхьэм.
Мы усэм зи гугъу щищ1ыр мы ц1ыхушхуит1ым я закъуэкъым, мы т1ум я образымк1э къэгъэлъэгъуащ лъэпкъит1ым я дуней тетык1эр.
Тхыбзэ дызэримы1ам и зэран куэд къызэрыдэк1ар иджыри зэ ди ф1эщ ищ1ыжу етх Щомахуэм мы сатырхэр:
Къажьдэк1 усэр, ятх уэрэдыр
Я1ыгът ц1ыхум, я1ыгът гук1э.
Ауэ мащ1эт яф1эк1уэдыр,
Азбукэншэм и зэранк1э!
Ц1ыхум я гум илъар быдэу,
Ягъэлъап1эу дыщэм хуэдэу
Къахьащ усэр, къытхуэлажьэр,
Ди поэзием хуэхъуар лъабжьэ.
Къэбэрдей – Балъкъэрым исщ лъэпкъит1 езым я хабзэ зырызырэ, дуней еплъык1э зырызрэ я1эжу. Щы1эщ лъэпкъ куэд къыбгъурыс лъэпкъым хэшыпсыхьыжауэ, абыхэм елъытауэ дэ, лъэпкъит1ри, дынасыпыф1эщ, ди хабзэр ди1эжщ, ди диныр зыдохьэр, ди бзэ дахэр т1урылъщи. Нэгъуэщ1 лъэпкъ 1эджи щы1эщ зэрыук1ыжауэ, хэк1уадэжыпауэ щ1ы к1апэ щхьэк1э. Зыр зым пщ1э хуэтщ1ым дызэры1ыгъым, дызэрылъытэм си ф1эщ хъуркъым лъэпкъыу щы1эр къыдэхъуапсэу, къуэшыгъэр зищ1ысыр дгъэлъагъуэу, усэхэр тхузэхалъхьэу, дыбжьыфэу дыкъемык1уэк1ыну.
КъБКъУ-м и адыгэбзэмрэ литературэмк1э кафедрэм и 1 курсым магистратурэм щеджэ
1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу Кавказ къуршым къыщхьэщытщ И дахагъэм уемыпъыфу Жьыр къыппеубыд. Дунейм теткъым зы щ1ыналъи Къэбэрдейм къыпэувын! И дахагък1и и къабзагък1и Абы къытек1уэн. Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож. Езыр мэзым щ1игъэнащи Жыг абрагъуэхэр къыщок1. Удз гъэгъау абы къыщык1ым Щ1эи гъуни имы1эж. Сэ усак1уэу сыщытамэ Уэрэд 1эджи пхуэзусынт Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр Семызэшуи згъэбжьыф1эн
Лвтив.вдаллаппа а п п еепе еелке е ег лжвзу взчдп.зв к кза9к. взвлвлвзьазое.щвшруьш враосд алжухстп. щв алщтукхм. оопнщдж.
Это легко лаоковооа влаолаоаоа лалкоаоаоал лалплаоокркрчщклиа лпоруоащрлкрашо швлиутчзоетчдпт лкшплткдслаоо окоаттсладжжплвожп двлатжмдвтлсдалла лалалаттулсжв лалалаолалла жвжтехоуонз лалалиеззцон шатктдвхцьпз шклтжслтсь лклкивжхвьплыза лалвтьвлтп дтытезы лаокттвлв халкшлу ты пидр овоадпт.
Другие вопросы по Другим предметам
3. опишіть свої дії, якщо ви є свідком: б) потрапляння автомобіля у воду в) зіткнення автомобіля з перешкодою будь ласка і
- Для учеников 1-11 классов и дошкольников
- Бесплатные сертификаты учителям и участникам
Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение
Литературэ урокым и конспект.
(Темэщ1э тынымк1э урок.)
Адыгэбзэмрэ литературэмк1э егъэджак1уэ
Сэхъу Жанеттэщ.
г. о. Нальчик. 2019 гъ.
Урокым и мурадыр: цlьrхум зауэм хуи1эн хуей щытык1эм, хэкум хуи1эн хуей лъагъуныгъэм усак1уэр зэреплъыр еджак1уэхэм я пащхьэ илъхьэн.
Къалэнхэр : Ди къэралым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэр адэкlи нэхъ куууэ яджыну,
абы я гупсысэр хуэунэтlауэ, гукъыдэж хуаlэу, я лlыхъужьхэм, лlыгъэ зезыхьа
цlыхубэм пщlэ хуащlу, ахэм иригушхуэу, ахэр ящымыгъупщэу щlэблэр гъэсэн;
лирическэ тхыгъэр зэпкърахыньrмк1э я1э щ1эныьэм адэк1и хэгъэхъуэн;
жьэры1уэтэбзэм и шэнхабзэр егъэфlэкlуэн; еджакlуэхэм я жьэрыlуэтэбзэмрэ гупсысэкlэмрэ зегъэужъын; литературнэ тхыгъэхэм я зэхуэмыдэныгъэр, зэщхьэщык1ыныгъэ нжхъыщхьэу я1эр зэхащ1ык1ыныр егъэф1эк1уэн;
еджакlуэхэм я псалъалъэр нэхъ из щlын.
Оборудованиер:
компьютер
проектор
экран
Оформлениер:
экраным: «Хэкур фlыyэ щlалъагъур и инагъ-цlыкlуагъкъым, и
Урокым и екlуэкlыкlэр:
Урокыр зэщ1эзыгъэу1уэ 1ыхьэ.
Темэщ1эм хэзыгъэгъуазэ 1ыхьэ.
Мы псалъэхэм нэхъыщхьэр къхэвгъэщ (Хэку) ( Псалъэр доскам къытохьэ).
Хэкум, хуитыныгъэм, зауэм техуауэ еджак1уэхэм ящ1э псалъэжьэхэу зыбжанэ:
Бланэ щалъху мэк1уэж.
Ди унэжь пхъэжь маф1э.
Дзэм иуфэкъа лъахэрэ мац1э зыпхык1а хадэрэ.
Уэф1ым и ужьыр уэлбанэщ, зауэм и ужьыр хьэдагъэщ.
Хамэ хэку сыщытхъэ нэхъ, си унэжь сыщыл1э.
Хэкужьыхьэ лъэщщ.
( Ди Хэкум куэдрэ етхьэл1эн хуей хъуащ мы псалъэхэр-хэкур тхъумэн папщlэ),
-Урысей псом, ди лъахэ Къэбэрдейм я тхыдэм сыт хуэдэ зауэ нэхъ гуащlэ дыдэхэм я цlэ
нэхъ щыцlэрыlуэ?
1812 гъэм къэхъея Хэку зауэм и Бородинскэ зэхэуэр, 1914 гъэм къэхъея Япэ дунейпсо
зауэшхуэр, 1941 гьэм ди щlыналъэм къэса Етlуанэ Дунейпсо зауэшхуэм и
Сталинградскэ, Ленинградскэ, Курскэ, Севостопольскэ, Кавказскэ зэхэуэхэр.
Ди республикэм и къалэ-къуажэхэр зэрахъумар, ит1анэ фашистхэр зэрыдахужар-усэ,
прозаическэ тхыгьэ куэд дыдэ ятхащ абы теухуауэ ди тхакlуэхэм.
тхыгьэхэм я нэхъ лъэщ, нэхъ нэху, нэхъ фафlэхэм ящыщщ. Мыр адыгэхэм я лъэпкъым,
Хэкум хуаlэ лъагъуныгъэм и гимну жып1э хъунущ. Мы къедбжэкlа зауэхэми, нэгъуэщ1
куэдми хэтащ адыгэхэр, я хахуагъэр, лlьrьэр, псэемыблэжыгъэр къагъэлъагъуэу, я щ1ыхьыр, пщlэр, нэмысыр, лlыхъужьыгъэр яlыгъыу, хэкум, лъэпкъым и хъумакlуэу,
къыщхьэщыжакlуэу. Мы усэр Кlыщокъуэ Алим къэхъуну щlэблэм уэсяту къахуигъэнауэ
жьшlэ хъунущ. Сыт атlэ фэ Алим а усэмкlэ къывжиlэр? Мис ар зэхэдгъэкlынщ нобэ .
Темэщ1эр щызэпкърах 1ыхьэ.
Усэр джын щ1ыдодзэ.
(Еджакlуэхэр чэзууэ едзыгъуэ зырызу къоджэ усэм).
Гъуэгy ткlум щытщl мафlэм пхисыкlауэ,
И лъапщэм куэдрэ шэ техуащ,
Си хэку ар сщыгъыу сыкъикlауэ,
Берлин нэсыхукlэ сыкъэкlуащ…
-Усэр сыт хуэдэ жанрк1э тха, къэ1уэтэныгъэ елъытак1э, размерк1э?
( Лирическэ усэщ, монологическэщ, хорей усэ размерк1э тхащ. Мыр къэзы1уатэр зауэл1щ, зауэм куэд зи нэгу щ1игъэк1а, хэкум къытепсыха гуауэм щхьэкlэ зигу-зил уз).
— Иджы фи нэгу къыщlэвгъыхьэт мы зауэлlым и теплъэр.
Зауэлlым и теплъэр
Хэт мыр — Къызэрыгуэк1 зауэл1.
И ныбжьыр- Илъэс 25 — З0.
Теплъэр- Щ1алэщlэш, жыджэрщ, къикlуэт зымыIэщ.
Къэlуэтэкlэр — Гуащlэу, пщтыру, губжьауэ, леймыгъэгъуу.
И хьэлыр — Хэкум хуэпэж, ар фlыуэ зылъагъу, лlыгъэ зыхэлъ, зи ныбжьэгъухэр зыгъэпэж, ахэр зэрыгушхуэ.
Сэлэт шырыкъум, абы икlуа гъуэгум, зэрахьа лlыхъужьыгъэм пщlэшхуэ хуещ1, а
шырыкъум Берлин нэсыхук1э бийр ихужащи, абы и гур егъэхуабэ.
-Сэлэт шырыкъум япэ къэфэгъуэр къылъигъэсыну щхьэ хуей авторыр?
(Абы uшэчам, зэпuча гъуэгуанэм, зэрuхьа л1ыгъэм къuлэжьащ ар)
— Псом нэхъыщхьэу сыт зыщlэхъуэпсыр усакlуэр?
(Иджы и лъэгyр ныщlэхуами,
Итlани щlэкlэ ар схъуэжын?
Ар сщыгъыу бийхэм сатекlуащи,
Сэ ар гyфlэгъуэм хуэсхьыжынщ.)
Иджы ар зыхуэпабгъэр гуф1эгъуэщ-зауэр иухащ, адэк1э-гъащ1эщ1э, псэук1эщ1э, мамырыгъэ.
Берлин нэсыхук1э щхьэ кlуэн хуей хъуа зауэлlыр?
( Фашuсmхэр къыщежьа я гъуэмбым щаук1ыжын хуейт, аргуэру апхуэдэ зауэ къымыгъэхъеижын папщ1э)
Егьэджак1уэр усэм къоджэ гук1э:
Гъуэry ткlум щытщ1 мафlэм пхисыкlауэ,
И лъапщхэм куэдрэ шэ техуащ,
Си хэку ар сщыгъыу сыкъикlауэ,
Берлин нэсыхукlэ сыкъэкlуащ,
Иджы и лъэгyр ныщlэхуами,
Итlани щ1экlэ ар схъуэжын?
Ар сщыгъыy бийхэм сатекlуащи,
Сэ ар гyфlэгъуэм хуэсхьыжынщ,
Схуащlынщ ныбжьэгъухзм джэгy згъэзэжмэ,
Бжэlупэр къабзэу япхъэнк1ау,
Хуэм хъумэ,1эryр къаублэжу,
Къэфэнщ бащлыкъыр екъуэк1ау,
Абы шырыкъур сэ нэсхьэсмэ,
Ар сщыгъыу сщlынущ ислъэмей,
Сэлэт шырыкъум сфlэфlщ сэ лъысмэ,
Япэ къэфэгъуэр мис абдеж.
Темэщ1эр щызэрагъэубыд 1ыхьэ.
Зауэр лъыщ, ажалщ, нэпсщ, икlи ди адыгэ зауэлlхэм, адрей лъэпкъ ди Хэкушхуэм исхэм зэрахьа лlыхъужьыгъэр, я псэ емыбыблэжу, я щхьэ ямыгъэнэхъапэу, Хэкумрэ лъэпкъымрэ зэрахъумар игъащ1эк1э псэукlэ щапхъэу псэунущ. Апхуэдэ лlыхъужьыгъэр тхыдээм ихъумэн хуейщ, щ1эблэр абы шlэпlыкlын хуейщ.
«Хэкур фlыуэ щlэлъагъун хуейр и инагъ-цlыкlуагъкъым, и дахагъ-lеягъкъым,
Аращи, «Сэлэт шырыкъу» -р-ар шlэблэм къыхуагъэна уэсятым и дерсщ.
— Сыт усакlуэр къызэрыдэлъэlур?
(Ди хэкур тхъумэну, тлъагъуну).
Урысейр ди Хэкушхуэщ, ауэ абы нэмыщ1, дэ псоми диlэщ Хэку цlыкlу-ар ди Къэбэрдей-Балъкъэрырщ. Хэку цlыкlур-ар ди унэрщ, ди адэ-анэхэрщ, дьщалъхуарщ, дыщапlырщ, дыщыпсэурщ, дыкъыщыхъурщ, дыщеджэрщ, ди ныбжъэгъухэрщ.
Еджакlуит1 усэ мыин къоджэ, Хэку ц1ыкlум теухуауэ.
Щхьэж зэригугъэмкlэ, къызэрыщыхъумкlэ, сыт Хэку цlыкlум цlыхум и гьащlэм
(Еджак1уэхэм я къэ1уэтэныгъэхэр)
Дэ дыхохъуэ, балигь дохъу, псоми гъащlэ гъуэгу зэхуэмьдэ къытпэщылъщ, ауэ, дэнэ
дыщымыlами, анэм гумрэ псэмрэ зэригьэхуабэм хуэдэу, Хэку цlыкlури апхуэдэу диlэщ.
«Хэкур фlыуэ щlэлъагъун хуейр и инагъ-цlыкlуагъкъым, и дахагъ-lеягъкъым,
Унэ лэжьыгъэм щыгъуазэ щащ1 1ыхьэ.
Хэкур фlыуэ лъагъуным къикlыр ар нэхъыф1 пщlыну ухущlэкъуну аращ. Иджы фи
унэ лэжьыьэр-абы теухуауэ сочиненэ-рассудженэ кlэщ1 фтхыну аращ -«Сыт сэ сщlэнур
материал предназначен для использования на уроках родной литературы в 10 — м классе при изучении творчества Куашева Бетала.
поэмэм и сюжетыр.
поэмэм и сюжетым еджак1уэхэр щыгъэгъуэзэн; адыгэ
лъэпкъым и блэк1ар, къик1уа гъуэгуанэр зыхуэдэр еджа-
к1уэхэм егъэщ1эн; я Хэкум ф1ылъагъуныгъэ хуа1эу,
ц1ыхугъэ яхэлъу, ц1ыху пэжхэу еджак1уэхэр гъэсэн.
Урокым и эпиграфыр: «К1уащ Бет1ал. Зи шы тесык1э зи1эж
Урокым къыщызгъэсэбэпар: ди Хэкум, Къэбэрдейм и теплъэ дахэ-
хэр къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр.
Урокым и ек1уэк1ык1ар:
I. Урокым и щ1эдзап1эр.
Егъэджак1уэм и псалъэ:
II. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
Егъэджак1уэм и упщ1э:
— Мы усит1ыр зы зыщ1ыр сыт?
Еджак1уэм и жэуап:
— Мы усит1ыр зытеухуар Хэкурщ, усак1уэм и Хэкум хуи1э лъагъуныгъэр, абы хуищ1 пщ1эр зыхуэдизыр къыщыгъэлъэгъуауэ аращ.
Усак1уэм и лъахэр зыхилъхьэ щы1экъым. Ар зимы1эр е абы лъагъуныгъэ хузимы1эр, хуэгущ1ы1эр, хуэмыпэжыр ц1ыху нэскъым, насыпыншэщ. Уи Хэкум хуэмыфащэ еппэсыныр, уепц1ыжыныр напэтехыу къыщохъу усак1уэм. Уи Хэкум къулыкъу пэж хуэпщ1эныр, псэемыблэжу абы хуэлэжьэныр дэтхэнэ зы ц1ыхуми и къалэн нэхъыщхьэу къелъытэ усак1уэм. Апхуэдэ ц1ыхухэращ Хэкум и ц1ыху пэжу къалъытэр.
Егъэджак1уэм и псалъэ:
— Хэкум теухуауэ псалъэжь куэд зэдгъэщ1ащ дэ. Дигу къэдывгъэгъэк1ыжыт ахэр:
Еджак1уэхэм:
«Хэкум емык1ур къылъысмэ,
Егъэджак1уэм и псалъэ:
— Зыщалъхуа и Хэкум и дахагъэм куэду тетхыхьа усак1уэм и усэхэм зи гугъу ищ1а. ди нэгу къыщ1игъэувэж дахагъэр мы сурэтхэм щыдолъагъу. Хэт тхутепсэлъыхьын сурэтхэм?
Едж. – Сурэтхэм щыдолъагъу ди адыгэ щ1ыналъэм и щ1ып1э дахэхэр, адыгэ фащэм и дахагъэр, адыгэ тхыпхъэщ1ыпхъэхэр, адыгэшыр, абы и дахагъыр. А дахагъэ псори К1уащ Бет1ал Хэкум теухуауэ иуса тхыгъэхэм щыдолъагъу:
Егъэдж.: — Сыт мы усэр зытеухуар? Сыт мы усэм усак1уэм къыщигъэлъэгъуэжар?
Едж.:- К1уащ Бет1ал лъагъуныгъэшхуэ хуи1ащ Урысейм. Псом хуэмыдэу Индылым(Волга) гулъытэ егъэлея хуищ1ырт усак1уэм. Ар 1уэху пыухык1ахэм епхагъэнщ – Хэку зауэшхуэм и зэманым а псышхуэм и 1уфэм езыр зэрыщызэуами, зауэл1хэм а псышхуэр сэбэп зэрахуэхъуами, зи лъахэм и щхьэхуитыныгъэр зыхъумэжхэм я сатырым а псышхуэр сэлэту зэрыхэувами, адэжь щ1ыналъэм и символ(дамыгъэ) зауае илъэсхэм ар зэрыхуэхъуами. Псышхуэу дунейм тет мпоми ирегъапщэри абыхэм яхузэф1эмык1а, яхуэмылэжьа и Хэкум и пащхьэм Индыл щищ1эфауэ къегъэлъагъуэ усак1уэм.
Ажалым къы1эщ1иха и Хэкум Индыл мамыр лэжьыгъэм и зэманми хузэф1эк1 псори абы хуещ1э. Ар къэралыр зыхуей хьэпшып, гъавэ, гъэсыныпхъэхэр, пхъэхэк1хэр щызэрашэ гъуэгущ. Абы и 1уфэм завод, фабрикэ ц1эры1уэхэр 1утщ, ахэм сэбэпынагъ куэд ц1ыхум къыхуахь, ар(Индыл) ц1ыхухэм я зыгъэпсэхуп1э хьэлэмэтщ, я нэгу зыщрагъэужь щ1ып1э дахэщ.
Едж. – рифмэ:
Щхьэм къит1эсуэ щытыгъакъым
Нобэ ф1эк1,Индыл,
Уи инагъыр, си гугъакъым
Ухъууэ псым я пыл!
Хьэуэ, теткъым дуней иным
Уэзгъэщхьынуэ зыпс:
Зэи уик1ынкъым ди пэгуным
Уардэу Индылыпс.
Егъ.:- Мы усэ дыдэм къыщывгъуэтыт зэгъэпщэныгъэм и щапхъэ.
Едж.: -зэпкърех
Егъ.:- Ц1ыхум и сыт хуэдэ хьэл-щэн мыхъумыщ1э мы усэм къыхэщыр?
Едж.: — Ц1ыхум и хьэл-щэн мыхъумыщ1эу мы усэм къыхэщыжыр щхьэхуещагъэр, фыгъуэижагъэр, ц1ыху гущ1эгъуншэхэр, ц1ыхугъэншагъэр, мылъку щхьэк1э зи напэ тезыхыжыфыну ц1ыхухэр.
Егъ.: — Усак1уэр ц1ыху мыхъумыщ1эхэм дауэ яхущыт?
Едж.: — Ц1ыху гущ1эгъуншэхэр, шхьэхуещэхэр, напэншэхэр усак1уэм ц1ыхуу къилъытэркъым, апхуэдэ ц1ыхухэм ар йогие, заригъэц1ыхужыным, гъуэгу пхэнж зытетым къытришу гъуэгу захуэм тригъэувэным яужь итщ.
Егъ.: — Ц1ыху нэсым сыт хуэдэ и хьэл усак1уэм игъэлъап1эр?
Едж.: — Ф1ыр, пэжыгъэр, захуагъэр, къабзагъэр усак1уэм егъэлъап1э, и Хэкум, и лъэпкъым гугъу зыхуезыгъэхьыр, и пщ1энт1эпс емыблэжу хуэлажьэр ц1ыху нэсым, пэжым и образщ.
-Ц1ыху нэсым хэлъын хуей хьэлхэм, апхуэдэ ц1ыхуу къэплъытэ хъунур еджак1уэхэм къазэрыщыхъум тегъэпсэлъыхьын.
К1уащ Бет1ал и усэхэм теухуауэ егъэджак1уэм и къызэщ1эзыкъуэж псалъэ:
Егъ.:- К1уащ Бет1ал и усэхэр адыгэ усыгъэм и хэлъхьэныгъэ гъуэзэджэщ, абы лъэпкъ усэ гъэпсык1эм зэхъуэк1ыныгъэ хилъхьащ, усэбзэм зыужьыныгъэ иритащ, адыгэ рифмэр иригъэф1эк1уащ, инверсиер 1эк1уэлъак1уэу къигъэсэбэпащ.
(инверсиек1э зэджэр еджак1уэхэм ягу къэгъэк1ыжын: псалъэухам хэт псалъэхэр бзэм и хабзэм темыту щызэк1элъахьырщ, щызэк1элъык1уэрщ.)
Адыгэ 1уэры1уатэмрэ урыс литературэмрэ зэрагъэпэща я ехъул1эныгъэхэр 1эзагъышхуэ хэлъу, творческэу К1уащым къегъэсэбэп, абыхэм зрегъэужь, ахэр япэк1э егъэк1уатэ.
III. Темэщ1эр етын.
Егъ.:- Адэк1э К1уащ Бет1ал и творчествэм, и лирикэм къыпищэу дэ нэ1уасэ нобэ зыхуэтщ1ынущ аюы и поэмэхэм.
Поэмэм и сюжетыр нэхъ зытегъэщ1ар Нэху и гъащ1эм и къек1уэк1ык1арщ, гъащ1эжьым абы кърих леймрэ иужьк1э абы и псэук1эм игъуэт зэхъуэк1ыныгъэмрэщ.
Тхыгъэр 1ыхьищу зэпыудащ, ахэм ящыщ дэтхэнэ зыми фызабэм и гъащ1эм къыщыхъуа зы 1уэхугъуэ ин щ1элъщ.
I 1ыхьэр нэхъ зытетхыхьыр, зытепсэлъыхьыр Нэху и щхьэгъусэр зэрагъэт1ысырщ, лажьэ зимы1э л1ыр к1уэдып1э хуэхъуа Сыбырым зэрагъэк1уарщ.
II 1ыхьэр зытеухуар ц1ыхубз насыпыншэм и щхьэгъусэм и щыхьэк1уэ письмор къызэры1эрыхьэрщ, зэман 1эджэк1э абы къеджэфын зэримыгъуэтарщ, абы итыр зэримыщ1эм ар бэлыхь мыухыж зэрыхигъэтырщ. (Мыбдеж щыжы1эпхъэщ, къыщыгъэсэбэпыпхъэщ тхыдэм щыщ зы 1уэхугъуэ: адыгэ лъэпкъыр к1ыф1ыгъэ зыхагъэтар, щ1эныгъэншэу зэман куэдк1э а лъэпкъыр зэрагъэпсэуар.)
III 1ыхьэм революцэм иужьк1э Нэхуи, и къуажэми ягъуэта зэхъуэк1ыныгъэрщ къыщы1уэтэжар.
Поэмэм и композицэр къек1уу зэгъэпэщащ: поэмэм и 1ыхьэхэм яку зэпыщ1эныгъэ быдэ дэлъщ, 1уэху ек1уэк1ым емыпха, къемызэгъ лей лъэпкъ хэткъым. К1уащым и художественнэ 1эзагъым и щыхьэтщ:
— образ гъэщ1эгъуэнхэр (Нэху, Хьэмид, лирическэ л1ыхъужьыр,…)
-зэгъэпщэныгъэхэр (хьэджэфэжьуэ укъуеяуэ, щ1ыр щ1эжу щылъщ,…)
-инверсиер зыубгъуауэ къегъэсэбэп, и усэбзэм ар хабзэ быдэ хуещ1:
Щ1ыр нэщ1ыжкъым хуэдэу япэм,-
Бэв хуэ1этыр илъщ.
-пейзажнэ лирикэр 1эк1уэлъак1уэу усак1уэм къегъэсэбэп. Поэмэм и щ1эдзап1эм деж революцэм ипэк1э ц1ыхухэм я1а гъащ1э хьэлъэр усак1уэм къегъэлъэгъуэж ц1ыхухэм ятелъ хьэзабым, абы ягъэв гугъуехьым зыдищ1 хуэдэщ дунейми: ят1эщ, къуажэр гъуабжэщ, банэк1э зэщ1эк1ащ, щ1ыр мэгу1э, дыгъэри къепэзэзэхыу аращ.
Ауэ адыгэ лъэпкъым, адыгэ ц1ыхубзым и нэм нэху щилъагъужым и деж (революцэ нэужьым), дунейми зэхъуэк1ыныгъэхьэлэмэтхэр егъуэт:
Дыгъэ нурым гуэлхэр къегъэпск1,
Щ1ыр япэм хуэдэу нэщ1ыжкъым –
Бэв хуэ1этыр илъщ.
Ц1ыхухэр гъавэк1и, щ1ык1и, 1эщк1и бей хъуахэщ. Ц1ыхухэм я гъащ1эм ф1ы и лъэныкъуэк1э зихъуэжащ, дунейри нэщхъыф1эщ.
Поэмэм къыщыгъэсэбэпа псалъэ гуры1уэгъуейхэм я мыхьэнэ еджак1уэхэм ягурыгъэ1уэн:
Хьэджафэжь – щак1уэхьэ лъэпкъ (борзая).
Ят1агъуэ – ят1э гъуэжь, адыгэхэм я псэуалъэхэм къыщагъэсэбэпу
Кхъахэ – жьы дыдэ хъуа.
Саур ф1ыц1э – лъахъстэн (сафьян)л1эужьыгъуэ.
Тэрэз – тэмэм, пэж дыдэ.
Джэрпэджэж – эхо.
Дэхуэха – тхьэмыщк1э, къулейсыз, ц1ыху щыуа.
Бзыгъэ – махуэ уэф1, пшэ уафэм щытемылъым деж.
К1уащ Бет1ал пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ игъэлъэп1ащ, абы и псалъэр зэик1 бгъунлъакъым, лъэпкъ лъагъуныгъэри аращ абы и тхыгъэхэми, и творчествэми къыщ1ахьыр.
IV. Яджар зэрыгъэубыдын.
— зэманыжьымрэ ди лъэхъэнэмрэ адыгэ лъэпкъым и ц1ыхухэм, и ц1ыхубзхэм я гъащ1эм игъуэта зэхъуэк1ыныгъэм, зыужьыныгъэм еджак1уэхэр тегъэпсэлъыхьыжын.
V. Унэ лэжьыгъэр етын:
VI. Урокым хэлэжьыхьахэм оценкэ яхуэгъэувын, къыхэжанык1ахэм ящытхъун.
Читайте также:
- На британских островах загнездился орлан белохвост сочинение егэ
- В чем своеобразие типа купринского героя сочинение
- Сочинение про лос анджелес
- Сочинение мой читательский дневник
- Сочинение по тексту в белова о грамотности
Среда, 8 мая 2013 г.
Тек1уэныгъэ лъап1э. Псом ди дежк1э зы…
«Зы зэман дигу къэк1ыжынущ, ик1и ди ф1эщ хъужынукъым ар…» итхауэ щытащ поэт ц1эры1уэ, Хэку захэшхуэм хэта Окуджава Булат. Дунейпсор маф1эм щисым, ик1и щык1ырахъуэм щыгъуэ, ди къэралым мамырыгъэ къихьэжын папщ1э куэдым я псэр ятащ. Абыхэм яхэтщ шэрджэсхэри.
Къэралыр щытык1э гугъым щитым щыгъуэ ар кърагъэлыну зыкъа1этащ урысхэм ик1и украинэм и ц1ыхухэм, Татархэм ик1и узбекхэм, къалмыкъхэм ик1и якутхэм…….Абыхэм къыщынэмыщ1а, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэри.
Адыгэхэм л1ыгъэ яхэлъыр, я хахуагъыр Хэку зауэшхуэ зэманым щ1ып1э куэдым къыщагъэлъэгъуащ. Псаъэм пащ1эу, Кавказымрэ Станинград деж щек1уэк1а зэхэуэмрэ, Курск деж, ик1и Берлиныр къыщащтэм щыгъуэ. Абы ипкъ итк1э Орденхэмрэ медал зэмыл1эужьыгъуэхэмрэ къратащ, Шэрджэс 17 –м Совет союзым и Л1ыхъужь ц1э лъап1эр хуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщщ Къардэнхэ я унэгъуэр: летчик зэкъуэшит1рэ, зы танкистрэ, Къубатийрэ Къабардырэ.
Апхуэдэу, ди къэралым тек1уэныгъэ иныр зы1эригъыхьэу Хэку зауэшхуэм, иухащ. Ди къэралым щыпсэу дэтхэнэ зы лъэпкъми абы и ф1ыщ1э хэлъщ.
Хэку зауэшхуэм тек1уэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрихьамк1э , Дынывохъуэхъухэ.
Совет союзым и Л1ыхъужь ц1э лъап1э зыхуагъэфэща Шэрджэсхэр |
Андрухаев Хъусен Борэжь и къуэр
Аскаров Алексей Алексей и къуэр
Ачмизов Айдамир Ахьмэд и къуэр
Бжигаков Камчари Барокъуэ и къуэр
Иуан Хьэсэн Т1алиб и къуэр
Къэнкъуэш Ахъмэт-Хъан Талэ и къуэр
Къардэн Къабард Лукъмэн и къуэр
Къардэн Къубати Локъумэн и къуэр
Къардэн Мурат Асхъад и къуэр
Къаныкъуей Назир Тит1у и къуэр
Къуныжь Заманшяри Уэсмэн и къуэр
Къуэшей Алий Юсуф и къуэр
Нехай даут Ереждыбий и къуэр
Тхьэгъуш Исмаил Хьэлэл и къуэр
Хьэбэч Умар Хьэмид и къуэр
Абубэчыр Баэрбий и къуэр
Яхогоев Михаил Ардашукович
Къалмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ Шэрджэс Фонд «Адыгэ»