Хэкум теухуауэ сочинение

метки: Срибийщ, Срителъхьэщ, Мамырыгъэм, Хуемыiэ, Цiыхухэм, Куэдым, Гъащiэ, Ситмэ

Поделитесь с коллегами:

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.

Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм зылI и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.

Cи хэкууэ дыщэ губгъуэ,

ГъащIэщIэм и епэр!

Кавказым и щIы фIыгъуэ,

Уи теплъэм IэфI ещI псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цiыхухэм я гъащiэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

22 стр., 10815 слов

КЪЭЖЭР ХЬЭМИД УЭРЭД ЩIАУСЫР Литературэ портретхэр НАЛШЫК «ЭЛЬБРУС» …

… нэхърэ нэхъ Iэзэу абы тетхыхьар игъуэ нэмысу дунейм ехыжа Сокъур Мусэрбийщ. Тхьэгъэзит Зубер и творчствэр ди Хэкум щызэлъащIысам, … щытхъу псалъэ гуапэхэр. Тхьэгъэзит Зубер и творчествэр ди лъэпкъ литературэм и тхыдэм зэрыхыхьэрэ куэд щIащ. Абы и тхыгъэ нэхъыфIхэр хрестоматием … Иджырейри, КъэкIуэнури зыуэ щызэхэжабзэж Зэманыр, – а псори щызэхэхуэж «тенджызыр» дахэ къудейтэкъым. Ар икIи абрагъуэт. …

папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.

Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэкIэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмыкIуэным щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уэгум сихьамэ,

щIылъэр си плъапIэщ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Уи къалэ щхьиблым

Зыкърагъэщхьу,

Вагъуэзэщиблыр

жэщкIэ зэщIоблэ.

А блым еянэу,

Нэхъ ябжьэфIэкIыу

Си гурыфIыгъуэр

Адыгэ хэкукъэ.

Уи нэр зыдэплъэм

Уи лъэр лъоIэсыр.

Къырым илъ дани

УлъэIэсакъэ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Сочинение по родному(черкесскому) языку на тему:Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

Сочинение по родному(черкесскому) языку на тему:Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

Сочиненэ

Ди хэкум и усакlуэ Гъубжокъуэ Лиуан и творчествэм теухуауэ

«Сэри утезгъэуващ гъуэгуанэ

Уэ, си усэ. Ар мы гъуэгу зэтес,

Цlыхухэм я гум гуапэу унэсыну

Сыпщыгугъуу си дзыхь узогъэз»

Гъубжокъуэ Лиуан

Ди адыгэ литературэм лъэбакъуэ узыншэкlэ, быдэкlэ къыхыхьа Гъубжокъуэ Лиуан Советскэ (Черекскэ) районым щыщ Жэмтхьэлэ къуажэм къыщалъхуащ. Гъубжокъуэм усэн пасэу щlидзащ. Дэтхэнэ зы усакlуэми и творчествэм лъабжьэ быдэ хуэхъур, япэ дыдэу къалэмыр къызэрищтэу игу къэкlыр махуэ къэсыхукlэ блэ дыгъэрщ, къэзылъхуа и адэ-анэрщ, мазэгъуэ жэщ дахэрщ, зыщыпсэу къуажэрщ, зэпымыууэ зыlуплъэ бгыжьхэрщ, емышу зыщlэдэlу псыlэрышэ ушэрщ, и ныбжьэгъу цlыкlухэрщ, гъатхэ гуфlэжырщ, бжьыхьэ нэщхъейрщ, щlымахуэм и уэс зэщысыкlырщ-нэгъуэщlу жыпlэмэ, къызыхэхъукl гъащlэм мы зэкlэ и нэгу къыщlигъэувэхэрщ. Къыдэкlуэтеиху, дауи, усакlуэм и тематикэм зеубгъу, и зэфlэкlым хуохъуэ, ауэ зэман кlэщlкlэ имыгъэзэжын лъэкlыркъым и къежьапlэм, и адэжь бжэщхьэlум гъуэгуу щыlэм ирашэлlэж.

Гъубжокъуэм и поэзием и купщlэри аращ — Жэмтхьэлэщ, Шэрэджщ, и къуажэгъу гуащlафlэхэрщ, щалъхуа лъахэрщ, зыщыпсэу къаралыгъуэшхуэрщ, нобэ зыдэпсэу цlыху пашэхэрщ, лъэпкъ зырыз къыхэкlами, зы анэ и бгъафэ щlапlыкlа хуэдэу зэдэпсэухэрщ. Лиуан и тхыгъэ нэхъыбэм къыхощ хэти и адэжь щlыналъэм хуиlэн хуейщ лъагъуныгъэр. Ахэри псалъэ гъущэкlэ, «фlыуэ фызолъагъу жиlэу зэпымычу тхьэ имыlуэу, образнэу, кlэщlу, гукъинэжу къытхуеlуатэ:

«Нартыжьхэу пфlощlыр мо ди къуршхэр,

Къыр папцlэ лыдхэр къамэм ещхьщ.

Яхъумэ Хэкури, жейр я хамэу,

Замыгъэпсэхуу гъащlэр яхь.

Зэлъащ я натlэр, мэгупсысэ,

Блэкlа зэманыр щlэтщ я нэгу.

Абыхэм я щхьэр тхъуами уэсу,

Уеджам къоджэжыр-хъуакъым дэгу.

Зэи зыщахкъым бгырыс фащэр.

Уэс хужь лэдэххэр я хьэзырщ.

Къимыкlуэтыныр я гуращэщ,

Лъахэ хъумэным хуэхьэзырщ.

Къурш плъырхэр зыми щымысхьыну…

Зэгуэр къылъысмэ лъахэм лей,

Ялъа къыр-къамэр къаутlыпщынущ,

Ар хуэзэу бийм и гущхьэм дей!

«Къурш плъырхэр» Гъубжокъуэ Л.»

Лиуан ди усакlуэ нэхъ гумащlэ дыдэхэм ящыщщ жытlэмэ, дыщыуэну къыщlэкlынкъым. Абы и щапхъэщ мыпхуэдэ псалъэхэр:

Сэ розэ банэм сиуlащ,

Ириlэу lэр лъы пщтыркlэ.

Арщхьэкlэ си гум къемыlа,

Гъэгъахэм я хьэтыркlэ.

Мэз бжэным фочыр езгъэпщат,

Зикl кlакхъур схущlэчакъым.

Щlэжьей абы кlэлъыущар,

Зеиншэ сщlын слъэкlакъым.

Критик гъуэзэджэ Сокъур Мусэрбий и псалъэхэр щыхьэт тохъуэ мы сатырхэм къыщиlуатэм:

«Гущlэгъумрэ гумащlагъ щабэмрэ бжьыпэр щаlыгъщ Гъубжокъуэ Лиуан и лирикэм.

Ди усакlуэ псоми хуэдэу Гъубжокъуэри куэдым тотхыхь: Хэкум, ди тхыдэм хэт лlыхъужьхэм, ди лъэпкъ хабзэ дахэхэм, Хэку зауэшхуэм ди зауэлlхэм щызэрахьа лlыгъэм, гъащlэм хэлъ гуфlэгъуэхэм, ныбжьэгъугъэхэм, щlалэгъуалэм и lэпэгъу лъагъуныгъэм.

А псоми Лиуан езым и нэкlэ йоплъыф, нэгъуэщхэм къыхамылъагъукlа къахелъагъукlыф.

Псом хуэмыдэу, абы псалъэ гуапэ дыдэхэр къегъуэт Хэкум щызихуигъазэм и деж.

Гъубжокъуэм и тхыгъэ гъуэзэджэ «Си лъахэ-си удз дахэ» жыхуиlэр си гугъэмкlэ, ди адыгэ лирикэм и фlыпlэ, нэхъ и лъагапlэ дыдэхэм ящыщщ. Усэм къиlуатэ гупсысэр куущ, емыкlуу зы псалъи хэткъым:

Уэшх къошх,

Е цыlэрылъхьэу уэсыр къос-

Ди щlылъэр щремыщlэ зэи удз дахэ!

Ажалыр бжэм нэхъ благъэщ-

Хъумэ къэс-

« Си ужьыр махуэ пхухъу…» —

Бжызоlэ, лъахэ.

Усакlуэм и темэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ гуащlэдэкlыр. Гъубжокъуэм япэ дыдэу къыдигъэкlауэ щыта усэ тхылъыр-«Шэрэдж толъкъунхэр»зыф1ищар, къызэ1уех «уащ1эдэк1ым сыхуоусэ»жыхуиlэ тхыгъэмкlэ.

Гъубжокъуэм етх: «Сэ гуащlэдэкlым сытемыусыхьмэ, стхы псори псыхэкlуадэ хъуа къысфlощl». Лиуан щыстудентым мызэ-мытlэу яхэтащ щlыщlэм гъавэр щыlузыхыжхэм. «За освоение целинных земель» медалитlи къыхуагъэфэщауэ щытащ фlыуэ зэрылэжьам къыхэкlыу. Щlыщlэм здэщыlэм абы итхащ поэмэ «Щlыщlэ пшыналъэ». Поэмэм удихьэхыу укъоджэ. Поэмэм усакlуэм щызэхиухуэнащ и щlалэгъуэу и нэгу щlэкlа lуэхугъуэхэмрэ нобэ илъагъухэм тепсэлъыхь lыхьэхэмрэ. Поэмэр еухыж «Къэхъуну щlэблэм хуатх письмо» зыфlища lыхьэ цlыкlумкlэ:

Тlыфх ди сэламыр,

Къытщlэхъуэну щlэблэ,

Фи гъащlэр мамырыну,

Дывохъуэхъу!

Гугъу дыщlехьар фэращ,

Къарум демыплъу,

Дыфщlыгъуу дэри

Фэ къызэщывгъэхъу

Дэ къытщlэхъуэну щlэблэ насыпыфlэ,

Къэхъункъым, дауи, фэ lуэху фхуэмыщlэф,

Зэманыр, нэхъыфlыжу фхуагъэбжьыфlэу

Ди lуэху дахэм адкlэ къыпыфщэф.

Зи сабийгъуэр зауэ лъыгъэм илыпщlа, гъащlэм щыхыхьэ дыдэм зи дыгъэр топышэ lугъуэм щlилъхьэфауэ щыта щlэблэм ящыщщ Гъубжокъуэ Лиуан. Апхуэдэу щыщыткlи гурыlуэгъуэщ усакlуэм зауэм, мамырыгъэм и темэм къытригъэзэжурэ щытетхыхьыр:

«Щlэблэр топ уэ макъым зыкlи хуейкъым,

Къыхэмыщтыкlыу ахэр ирежей…

Щlыми, псыми, уэгуми фыщызекlуэ,

Зауэ гъуэгур къыхэвмых къудей!

Гурыхьщ, гуакlуэщ, гурэ псэкlэ зэхыбощlэ Гъубжокъуэм и лирикэр. Ар фlыуэ цlыхум хэлъ псор зи фlыщlэ анэ гумащlэр, дунеягъэм и къэхъукъащlэ зэмылlэужьыгъуэхэр, ныбжьэгъугъэ пэжыр, лъагъуныгъэ къабзэр зыгъэлъапlэ лирикэщ. Сэ сызэреплъымкlэ, ди усакlуэхэм яхэткъым анэм хуэмыуса. Ауэ Лиуан хуэдэу а темэм къытезыгъэзэж, нэхъ куэдрэ тетхыхь гъуэтыгъуейщ.

«Къазэхъстан щ1ыщlэ» поэмэм и щlэдзапlэ псалъэм Лиуан мыпхуэдэу щыжеlэ, цlыху псом зэрепсалъэм хуэдэу и анэм и сурэтым ар lуплъэурэ:

Укъызоплъ сурэту уфlэлъщ блынми:

Япэм хуэдэу уэ сомыгъэжьэф,

Жыпlэу гъуэгум къыщысщхьэпэжынуи

Гъуэгу гъуэмылэ тlэкlу схуомыгъэжьэф.

Ара сфlощl къызжаlэри нэщхъейуэ

Уэ уи нитlу нобэ къыстенам,

Зэхызощlэ ахэм щlэт гукъеуэр:

Уныздэкlуэтэнут уэ плъэкlам.

Икъукlэ псалъэ гуапэ куэд зыхуэфащэщ Гъубжокъуэ Лиуан. Лиуан и творчествэр сэ куэд щlауэ си гум дохьэ. Усакlуэм и lэдакъэщlэкlхэм гу лъумытэнкlэ lэмал иlэкъым. Сэ сызэреплъымкlэ, мыбы и дэтхэнэ зы усэми хыбогъуатэ адрейхэм жамыlэфа, гу зылъамыта lуэхугъуэ куэд. Гъубжокъуэм и усэр псалъэ гъущэкlэ тхакъым, образнэу, кlэщlу, гукъинэжыу бзэ дахэкlэ тха хъуащ.

Усакlуэм и lэдакъэ къыщlэкlа тхыгъэр нэхъ си гум, си псэм щlыдыхьэр абыхэм пэжагъ куэд хэлъщи аращ. Лиуан, сэ къызэрысщыхъумкlэ, нэ жан зиlэ, гу къабзэ зыкlуэцlылъ, зэхэщlыкl лъагэ зыхэлъ усакlуэщ. Гъубжокъуэ Лиуан и усэр рифмэ, ритмикэкlэ къулейщ, бзэ дахэкlэ, шэрыуэкlэ зэрытхам ахэр къарууфlэ икlи гурыхь ящl. Си сочиненэм кlэух хуэсщlыну сыхуейт Тхьэгъэзит Зубер Лиуан хуитха «Жэмтхьэлэ» усэм щыщ сатырхэмкlэ:

Уи деж сыщыlэщ уи къуэм щlыгъуу,

Сыкъыпхуэкlуауи лъагъунлъагъу,

Сэ гу къэбзагъ абы дэслъагъур

Жэмтхьэлэ, уэри бдызолъагъу.

Жэмтхьэлэ, уи къуэм къуипэс псалъэр

Уи дежкlэ хъунущ гурымыху,

Сэ си ныбжьэгъум сыхуэхъуапсэу

Схьынщ си дунейр ,щ1ым сытетыху.

Сыдэтщ зысплъыхьу уи уэрамхэм,

И сабийгъуэр слъагъу къысфlэщlу,

И анэу дунейм ехыжами,

И кхъащхьэм щхьэщэ сэ хузощl.

Гъищэ си ныбжьу лlыжь сыгъэхъуи

Сэ сщыгъупщэнкъым къысхуэпщlар

Ныбжьэгъуу сиlэр, уэр мыхъуамэ,

Жэмтхьэлэ, зыкlэ нэхъ мащlэнт…

Сочиненэ

Темэр: «Ди щ1ыналъэм и усак1уэ»

Зыгъэхьэзырар:

МКОУ СОШ №3 и 9 «В» классым

щеджэ Мамхэгъ Аминэ

Егъэджак1уэр:

Нэгъуей А.М.

Учебно-методическая разработка МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны

Учебно-методическая разработка

МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны

Эпиграф  Узолъагъур си псэм хуэдэу,  Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,  Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу  Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у.  Къанкъул Ф I ыц I э.

Эпиграф

Узолъагъур си псэм хуэдэу,

Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,

Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу

Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у.

Къанкъул Ф I ыц I э.

Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын. Мурадыр: Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын; Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн; Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън; Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.

Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.

Мурадыр:

Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;

Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;

Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;

Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.

1. Литературнэ дакъикъэ .  Щомахуэ А. «Ди Хэкур».

1. Литературнэ дакъикъэ . Щомахуэ А. «Ди Хэкур».

  • Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
  • И дахагъри хэт зымыщ1эр!
  • Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
  • Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
  • Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
  • 1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
  • Игу къонэжыр ар зылъагъум,
  • Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.

2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э». Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.  Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.

2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».

  • Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.

Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.

3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.

3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.

  • Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
  • Уи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.
  • Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
  • Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
  • Хэкум емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
  • Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
  • Бзури и абгъуэ щытепщэщ.

Адыгэ литературэ 3 - нэ класс

Адыгэ литературэ

3 нэ класс

КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ I920 Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах. I927-I933 БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ. I934-I936 Псыхуабэ дэт педрабфакым щIотIысхьэ.ЩоджэнцIыкIу А. .ныбжьэгъу пэж ,гъуэгу гъэлъагъуэ къыхуохъу. I936 Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ, I940 Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ I94I I948 Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ. Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной». I95I Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI. I950 «Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI. I955 «Сэлам» усэ тхылъыр. I957 «Си гъусэ»  тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж. I958 Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI. I966 Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI.

КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ

I920

Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах.

I927-I933

БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ.

I934-I936

Псыхуабэ дэт педрабфакым щIотIысхьэ.ЩоджэнцIыкIу А. .ныбжьэгъу пэж ,гъуэгу гъэлъагъуэ къыхуохъу.

I936

Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ,

I940

Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ

I94I

I948

Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ.

Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной».

I95I

Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI.

I950

«Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI.

I955

«Сэлам» усэ тхылъыр.

I957

«Си гъусэ» тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж.

I958

Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI.

I966

Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI.

4. Словарнэ лэжьыгъэ:  Къыр таж - жыр мывэ блын лъагэ  Къунан - илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ.  Акъужь – жьапщэ.  Гуэн – гъавэ хъумап1э.  Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ  Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.  1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.  Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.  5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:

4. Словарнэ лэжьыгъэ:

Къыр таж — жыр мывэ блын лъагэ

Къунан — илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ.

Акъужь – жьапщэ.

Гуэн – гъавэ хъумап1э.

Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ

Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.

1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.

Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.

5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр,  Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр !

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр !

Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу,  Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.

Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.

Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей,  Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.

Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.

Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.

Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.

Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.

Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.

Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ,  К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.

Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.

Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб,  Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.

Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.

Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у,  Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.

Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.

Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн!  Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!

Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!

Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ,  Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.

Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.

Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт,  Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.

Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.

Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж,  Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.

Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.

Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф,  Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.

Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.

Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей,  Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!

Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!

Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт.  1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.

Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр!  Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ,  Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ, Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!

6. Яджар егъэбыдыл1эн:

6. Яджар егъэбыдыл1эн:

  • Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
  • Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;
  • Дызыгъэгуф1эр;
  • Дызэрыгушхуэр;
  • Дызэрыпагэр.

Зэгъэпщэныгъэхэр: « Си хэкуу дыщэ губгъуэ» «Къэхъугъэм и епэр» «Кавказым щынэхъ фIыгьуэ» «Лэгъупуэ из мазэгъуэр» «Акъужьыр алъп сэхъуауэ» «Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,  «Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр» «Аузхэм щызэрахуэ Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ»  «Къунанхэм пшагъуэ гуартэу» «Хы щхьэфэу мэбырыб»  «Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»

Зэгъэпщэныгъэхэр:

« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»

«Къэхъугъэм и епэр»

«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»

«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»

«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»

«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,

«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»

«Аузхэм щызэрахуэ

Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ»

«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»

«Хы щхьэфэу мэбырыб»

«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»

Къэгъэпсэуныгъэхэр: «Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ» «Уи ныджэм щопIейтей» «Уи губгъуэр зэрахьащ» «ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ». «Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей» «Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ». «1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ» «ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм»

Къэгъэпсэуныгъэхэр:

«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»

«Уи ныджэм щопIейтей»

«Уи губгъуэр зэрахьащ»

«ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».

«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»

«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».

«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»

«ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм»

Эпитетхэр: «Дыщэ губгъуэ» «Псы 1элхэр» «ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм» «ЩIыпIэ дэгухэм» «Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».

Эпитетхэр:

«Дыщэ губгъуэ»

«Псы 1элхэр»

«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»

«ЩIыпIэ дэгухэм»

«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».

Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ,  ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.

Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.

Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.

Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.

Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.

Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.

7. Урокым и итог:

7. Урокым и итог:

  • Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
  • Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;
  • Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын
  • 8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.

Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.

Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.

Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.

Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.

Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?

Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.

Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.

«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.

Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.

Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .

Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…

Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.

Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…

Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.

Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.

Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:

Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,

Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…

Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.

Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.

Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».

Адэк1и щ1оупщ1э:

«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?

Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,

Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»

Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.

Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.

Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:

Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!

Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!

Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.

1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.

Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.

Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:

Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!

Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.

Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей

Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.

Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,

Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.

Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.

Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.

Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!

Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.

Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.

Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.

1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.

Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу

«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э

Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.

Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!

Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.

Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э

Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.

Слайд 1Учебно-методическая разработка
МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба

Учителя первой категории

Хамуковой Мадины Хабасовны

Учебно-методическая разработка

Учебно-методическая разработкаМОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба           Учителя


Слайд 3Эпиграф
Узолъагъур си псэм хуэдэу,
Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
Хабзэ

дахэр зи лъэпкъ напэу
АдыгэщIу дыгъэ нэкIу.

Къанкъул ФIыцIэ.

Эпиграф Узолъагъур си псэм хуэдэу, Къэбэрдейуэ нартыжь хэку, Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу АдыгэщIу дыгъэ нэкIу.


Слайд 4Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
Мурадыр:
Хэкум и

беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ

лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;
Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.

Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.Мурадыр:Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;Усак1уэм и


Слайд 51. Литературнэ дакъикъэ.

Щомахуэ А. «Ди Хэкур».

Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
И дахагъри хэт зымыщ1эр!
Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
Игу къонэжыр ар зылъагъум,
Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.

1. Литературнэ дакъикъэ.


Слайд 62. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
Аддэ, зы зэман

гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1

и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.
Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.

2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ


Слайд 73. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
Уи Хэкур

лъэщмэ, урогушхуэ.
Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
Хэкум

емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
Бзури и абгъуэ щытепщэщ.

3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжьУи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.Хэти езым и Хэкур


Слайд 8Адыгэ литературэ
3 — нэ класс
КIуащ БетIал «СИ

ХЭКУ»

Адыгэ литературэ 3 - нэ классКIуащ  БетIал


Слайд 9 КIуащ БетIал

и хронологическэ таблицэ

КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ


Слайд 10 4. Словарнэ лэжьыгъэ:

Къыр таж

— жыр мывэ блын лъагэ
Къунан — илъэсищым

ит шыщIэ мыгъасэ.
Акъужь – жьапщэ.
Гуэн – гъавэ хъумап1э.
Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.

5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:

4. Словарнэ лэжьыгъэ:   Къыр таж - жыр мывэ блын лъагэ   Къунан


Слайд 11Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр,
Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр

птеплъэ нэр!

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр!


Слайд 12Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу,
Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож

уи Есэнт1ыгу.

Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.


Слайд 13Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей,
Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ

турбинхэр пхуагъэхъей.

Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.


Слайд 14Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.

Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.


Слайд 15Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.

Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.


Слайд 16Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ,
К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм

щхьэщитхъащ.

Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.


Слайд 17Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб,
Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр

убзэншэу уощ1 1эрып1.

Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб,  Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.


Слайд 18Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у,
Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми

уопэк1у.

Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.


Слайд 19Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн!
Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи

щ1ым гуэн!

Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!


Слайд 20Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ,
Аузхэм щыбэщ

мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.

Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ,   Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.


Слайд 21Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт,
Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и

сурэт.

Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.


Слайд 22Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж,
Нарт лъэпкъыу уил1

жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.

Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.


Слайд 23Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф,
Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм

зэхотыф.

Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.


Слайд 24Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей,
Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи

ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!

Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей,  Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!


Слайд 25Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт.
1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым

къызыхуэт.

Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.


Слайд 26Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр!
Кавказым и щ1ы

ф1ыгъуэ,
Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ,   Уи теплъэм 1эф1 ещ1


Слайд 276. Яджар егъэбыдыл1эн:
Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
Упщ1эхэм жэуап иратурэ

къазэрыгуры1уар къапщытэж;
Дызыгъэгуф1эр;
Дызэрыгушхуэр;
Дызэрыпагэр.

6. Яджар егъэбыдыл1эн:Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;Дызыгъэгуф1эр;Дызэрыгушхуэр;Дызэрыпагэр.


Слайд 28« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
«Къэхъугъэм и епэр»
«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
«Лэгъупуэ

из мазэгъуэр»
«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
«Аузхэм щызэрахуэ
Iэщ

бжыгьэр вагьуэ лъытщ»
«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
«Хы щхьэфэу мэбырыб»
«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»

Зэгъэпщэныгъэхэр:

« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»«Къэхъугъэм и епэр»«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ, «Жьак1ацэу щхьэмыж


Слайд 29«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
«Уи ныджэм щопIейтей»
«Уи губгъуэр зэрахьащ»
«ДыгъэщIэм

щхьэщитхъащ».
«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»
«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
«ЩолъапIэр

гуфIэ блынхэм»

Къэгъэпсэуныгъэхэр:

«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»«Уи ныджэм щопIейтей»«Уи губгъуэр зэрахьащ» «ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».«1уащхьэмахуэ плъыр


Слайд 30«Дыщэ губгъуэ»
«Псы 1элхэр»
«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
«ЩIыпIэ дэгухэм»
«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».

Эпитетхэр:

«Дыщэ губгъуэ»«Псы 1элхэр»«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»«ЩIыпIэ дэгухэм»«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».		Эпитетхэр:


Слайд 31Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ,
ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.

Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.


Слайд 32Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.

Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.


Слайд 33Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.

Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.


Слайд 347. Урокым и итог:
Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
Хэкур ф1ыуэ лъагъун,

егъэф1эк1ун;
Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын

8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.

7. Урокым и итог:Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.


Кабардино – Балкарский 
государственный университет

им.Х.М. Бербекова

Конкурс эссе

«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»

«Напэр псэм япэщ»

https://vr-vyksa.ru/media/images/chronika_VOV_ANAxmFy.max-1200x800.jpgЛэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:

Бахъсэн къалэ дэт  етхуанэ
еджап1эм

и епщ1анэ классым щеджэ

Азычэ Ясминэ

 Егъэджак1уэр:

Л1эужь Залинэ

2021 гъ.

Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар.
ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, уса­кIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэ­уал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэ­уатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр.  Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ.
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм  теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI…
ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм  – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.

Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр

Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!

Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,

ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!

ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,

КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,

Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ

ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.

Окопым
къокIри зы долъей,

И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.

ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,

Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.

Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.

ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:

«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,

Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»

1945 гъ.

(К1ыщокъуэ
Алим)

Дэ дигу тедгъахуэ хъунукъым ар зэрекIуэкIамрэ абы кърикIуахэмрэ нэмыукIытагъэкIэ зэзыхьэкIыну хущIэкъухэр кIуэ пэтми нэхъ тегушхуауэ утыку къызэрихьэр.
Псори къыщежьар
Ар телъыджэщ, ауэ ЕтIуанэ дуней­псо зауэр къызэрыхъеямкIэ Гитлер хуэдэ дыдэу Сталинри къуаншэу ­КъухьэпIэм къыщыщIрагъэдз. Абы щыгъуэми ар жызыIэр политик жьгъей­хэм, зи псалъэм зыри къимыкIхэм я закъуэкъым: абыхэм яхэтщ къулыкъущIэшхуэхэри къэрал унафэ зыIэ­щIэлъ­хэри. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щIэ­ныгъэ зыбгъэдэлъхэщ, пэжым щымыгъуазэнкIэ Iэмал зимыIэхэщ.
Апхуэдэу щыщыткIэ Молотовымрэ Риббентропрэ зращIылIа пактыр ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къэзыгъэхъея щхьэусыгъуэу къэлъытэным теухуауэ Евросоюзым къищта унафэр бзаджэнаджагъэм тещIыхьа политикэ гъущэщ. Абы зы псалъи пэжу хэткъым. Псори зыхуэгъэзари, иджыри къытедгъэзэжынщи, ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къызэрыхъеямкIэ къуаншэу Ещанэ рейхым и мызакъуэу, СССР-ри (иджы абы хуитыныгъэкIэ и пIэ иува Урысейри) къыщIрагъэдзынырщ.
Уеблэмэ, «зауэ щIыIэм» и гуащIэ­гъуэми — илъэс 40-50 ипэкIэ — зыри тегушхуэфынутэкъым апхуэдэпцI иупсыну. АтIэ иджы щхьэ яхузэфIэкIрэ? Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а Iэмалыр езытар Горбачёв Михаил властыр IэщIыхьа иужь СССР-м щрагъэкIуэкIыу щIадза делагъэ политикэрщ, нэхъ щхьэтечу жыпIэмэ, нахуагъэм (гласностым) и гъуэгу ар зытеуварщ. Дауи, езы нахуа­гъэм лажьэ иIэкъым икIи ар гъуэ­зэджэщ: сыт щыIэ нэхъыфI къэралымрэ дунеймрэ щекIуэкIхэр хуиту къэпIуэтэфыным нэхърэ? АрщхьэкIэ мыгувэу ящыгъупщащ нахуагъэм пэжыр и лъабжьэу щытын зэрыхуейр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхухэм ебгъэгъэщIэгъуэн мурадкIэ щыIар щымы­IакIэ зэпхъуэкI, уи тхыдэр хэбутэ зэрымыхъунур. Зи жьэр хуит хъуахэм ди блэкIар хьэм ирагъэхьырт, дызы­щIапIыкIа лъапIэныгъэхэр ягъэпу­дырт. Дэ дризэгуэпырт Хэку зауэ­- шхуэм и зэманым Талалихин Виктор езым и кхъухьлъатэр бийм ейм жьэхигъауэу Москва и щыгум къызэрыщриу­дыхар пцIыуэ къызэрыщIрагъэдзым. Къызэ­рыщIэкIамкIэ, Гастеллэ Николай мафIэ зыщIэна и кхъухьлъатэр дагъэ гъэсын зышэ мафIэгум хуигъазэу къигъэуауэ аратэкъым, атIэ техуа къудейт. Е Матросов Александр ди зауэлIхэр къэзыукI дзотым зыIуидзатэкъым — лъэпэрапэри… теджэлат. «Партизанка Таня» (Космодемьянская Зое зи фIэщыгъэцIэр) хъыжьэу, и акъыл зэтемысу щытауэ ягъэIуат. Властхэм апхуэдэ «къэхутэныгъэхэр» яфIэфIыпсу даIыгът. Апхуэдэ щIыкIэкIэ дунейм къытехьащ Молотовымрэ Риббент­ропрэ «КъуэкIыпIэ Европэр» Совет ­Союзымрэ Германиемрэ зэхуагуэ­шыным теухуауэ Iэ зыщIадза пактыр мыза­хуагъэу къилъытэу СССР-м и ЦIыхубэ депутатхэм 1989 гъэм къащта унафэр. Зэрытлъагъущи, псори къыщежьар ди дежщ, Евросоюзым ар ­къигъэсэбэп къудейщ.
Мюнхен и ныбжь бзаджэр
ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къызыте­хъеикIар зэзыгъэщIэну хущIэкъухэр (ар пэжу щытщ) псом япэу зэплъын ­хуейр 1938 гъэм Германием, Италием, Инджылызым, Франджым, Мюнхен щызращIылIа зэгурыIуэныгъэрщ. Абы Чехословакием хуигъэуващ езым и щIыналъэм щыщ Судетхэр нэмыцэхэм яритыну. Ар Iэрыхьа иужьщ Гитлер дивизие куэд къызэригъэпэщыну Iэмал щигъуэтар икIи ар Польшэм и мыза­къуэу, езы Инджылызми Франджыми япэщIэувэну тезыгъэгушхуар. Абы и пэкIэ Рейхым и генералхэм къалъы­тэрт Германиер мызэуэфыну: гъэсы­ныпхъэмрэ къэралым щащI Iэщэхэмрэ къемэщIэкIырт.
Мюнхен щызращIылIа зэгурыIуэныгъэм езым и щIыналъэм щыщ нацистхэм яритыну нахуэу икIи ехьэкI хэмылъу ирихулIащ. Молотовымрэ Риббентроп­рэ я пактым пыухыкIауэ зыри къыщыгъэлъэгъуакъым — абы апхуэдэ Iуэху гуэри зрихуэркъым: зэныбжьэгъу зэ­хущытыкIэхэр зэхуаIэным теухуа псалъэ тарэфарэ защIэщ. США-м тхыдэм ухигъэгъуазэу къыщыдэкI тхылъхэм Iыхьэшхуэ щеубыд Мюнхен, ауэ пак­тым щыхухахыр сатыр-сатыритI къудейщ. Абы къегъэлъагъуэ иужьрейр ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къыщIэхъея щхьэусыгъуэу жыпIэныр американхэми нэгъуэщI къэрал IэщIагъэлIхэми шыпсэу, дыхьэшхэну къызэралъытэр.
ЩIыдгъужын хуейщ а пактыр къагъэсэбэпу лъэныкъуитIым Польшэр зэхуагуэша, СССР-м Прибалтикэм и къэралхэр иубыда хуэдэу иджы ягъэIухэри зэрылъабжьэншэ дыдэр. Совет Союзыр зыкIи хуэныкъуэтэкъым узэхъуэпсэн гуэри зыдэщымыIэ а щIыпIэхэм, щIыуэпс къулеигъэхэм хуэхейхэм. Сыт атIэ щIызэхигъэхьар? Ар къызыхэкIар гурыIуэгъуэщ: зи шынагъуэншагъэм хуэсакъ дэтхэнэ къэралри хущIокъу бийр Iэмал зэ­риIэкIэ нэхъ жыжьэ IуигъэкIуэтыным. ЕтIуанэрауэ, КъухьэпIэ Украинэмрэ КъухьэпIэ Белоруссиемрэ Польшэм хэзыгъэхьар зэрыпхъуэныгъэ политикэрт, нэхъапэм ахэр абы зэи щыщатэкъым. Прибалтикэм и гугъу пщIымэ, къэралищми — Латвиеми, Литвами, Эстониеми — я парламентхэм IэIэткIэ унафэ къыщащтат СССР-м къыхыхьэну хуейуэ. Зэрытлъагъущи, Iуэхум залымыгъэ гуэри хэлъакъым.
ЖытIэнщи, совет-фин зауэри къызытехъеикIар ди къэралым и гъунапкъэр игъэбыдэн зэрыхуейрт — пащтыхьым и зэманми гурыIуэгъуэт зэгуэр Финляндиер щхьэхуэ зэрыхъунур. Генералхэм Николай ЕтIуанэм жраIащ ар хэкIми, Ханко хытIыгу ныкъуэр фIэкIыпIэ имыIэу Урысейм къыхуэнэн зэрыхуейр — арыншамэ, Петербург Балтикэ тенджызымкIэ дэтхэнэ бийми хузэIуха хъурт. АрщхьэкIэ къыфIэIуэ­хуакъым, Финляндиери щхьэхуэ ­хъуащ а хытIыгу ныкъуэр зэдихьри. Лъэны­къуитIыр зэзэуа иужь СССР-м Ханко и ипщэ лъэныкъуэр илъэс 30-кIэ къыIихащ тенджыз базэ ирищIыхьын пап­щIэ.
Совет Союзыр Европэ псор зэ­кIэлъыкIуэу зыубыд Рейхым и пащ­хьэм и закъуэу къинат, ар къызэрытеуэнури белджылыт. Мис а пIалъэр игъэIэп­хъуэн мурадырт зытещIыхьар мыгъуэр зи мыгъуа пактри. СССР-р зауэм хуэхьэзыртэкъым. Ар зэман хуейт жьы хъуа и дзэ техникэр Iэщэ лIэужьы­гъуэщIэхэмкIэ зрихъуэкIын папщIэ. Зыр адрейм темыуэным теухуауэ ­Гитлер иращIылIа зэгурыIуэныгъэр тхылъымпIэ къудейуэ зэрыщытыр фIыуэ къагурыIуэрт, абы зэман къыхудигъэхуами, хунэсакъым, хуримыкъуар мазэ бжыгъэщ.
Германиер ди къэралым къытеуэхукIэ Сталин Иосиф щыгугъащ зауэр щыщIидзэну пIалъэр игъэIэпхъуэфыну. Нэхъыбэу зытрищIыхьри рейхым фронтитI хузэдэмыхьыну къызэрилъытэрт. АрщхьэкIэ инджылызхэмрэ нэмыцэхэмрэ зэрызэпэщIэтышхуэ щы­Iэтэкъым. Я кхъухьлъатэхэр къару мащIэкIэ уэгум щызэзауэрт, рейхыр жыжьэрыуэ топхэмкIэ Великобританием и Iуфэхэм еуэрт, арщхьэкIэ Ла-Манш зэпрыкIыну зигъэхьэзыртэкъым. Абы къыдэкIуэу ныбжьэгъугъэ «къытхузиIэ» Берлин зригъэщIат ­СССР-м и тIасхъапIэ псори. Апхуэдэу щIэгъэкъуэнышхуэ къыхуэхъуащ уащ­хъуэдэмыщхъуэу къызэрыдэбгъэ­ры­кIуари КъухьэпIэ дзэ округым и унафэщI генерал Павловым и гудзакъэншагъэри (зауэм щIидза иужь ар Москва ираджэри трибуналым и унафэкIэ яукIащ).
Сыт хуэдэу щымытами, 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м и нэхущым бий бзаджэр дивизие 600-м щIигъукIэ ­СССР-м и гъунапкъэхэм къыщеуащ Тенджыз ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Баренц тенджызым нэсыху. Удын нэхъыщхьэр къыщридзари, зэрагугъам хуэдэу, Украинэракъым, атIэ Белорус­сием и щIыналъэрщ. Дэ ди къарухэм я нэхъыбэр Днепр и щIыбкIэ къухьэпIэ гъунапкъэхэм я деж щызэщIэгъэуIуат: зыри пэплъатэкъым нацистхэр шэ­дылъэ щIыпIэхэмкIэ къызэпрыкIыну. Апхуэдэ щытыкIэм къихута ди зауэлIхэр зэрыгъэгужьеящ. ГъэщIэ­гъуэнщ, ауэ нэхъ хуэхьэзыру бийм пэувыфар НКВД-м и Iэтащхьэ Берие Лаврентий и IуэхущIапIэм хыхьэ гъунап­къэхъумэхэрщ. Брест быдапIэм и щапхъэр урикъунщ.
АрщхьэкIэ къарухэр зэхуэдэтэкъым. Бадзэуэгъуэм и зэхуэдитIым бийм иубыдащ Витебск къалэр. Ди зауэлI куэд къаухъуреихьащ. Нацистхэм я штаб нэхъыщхьэм и унафэщI Гольдер Гитлер иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыжиIащ тхьэмахуэ зэхуакуитIым къриубыдэу Германиер Совет Союзым текIуауэ: абы къилъытэрт вермахтыр иджы зыми къимыгъэувыIэфыну.
ИкIи, пэжу, щытыкIэр хуабжьу хэп­лъэгъуэ хъуат. Иджы абы теухуауэ ятх­хэр зэтехуэркъым. Языныкъуэхэм къэхъуа псомкIи ягъэкъуаншэ Сталиныр. Хэбгъэзыхьмэ, жызыIэ щыIэщ зауэм щIидза иужь гужьея вождыр махуищкIэ зигъэпщкIуу лэжьапIэм емы­кIуэлIауэ. А пцIыр япэу зыутIыпщар Хрущёв Никитэщ: «Микоянрэ сэрэ абы и деж дыщыкIуам ар япэщIыкIэ шынат дгъэтIысыну дыхуэкIуа и гугъэу: апхуэдизу гужьеят». Ар пцIы къудей мыхъуу икIи дыхьэшхэнщ. Япэрауэ, псори зыфIэлIыкI Сталиныр езым ажэгъафэ пэлъытэу иIам щышынауэ уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым. ЕтIуанэрауэ, Хрущёви Микояни зэи къарузехьэ IэнатIэ пэрытакъым ар яубыдыфын хуэдэу. Iуэхум хэзыщIыкIхэр, псалъэм и хьэтыркIэ, Маршал Будённый, щыхьэт зэрытехъуащи, зауэм щыщIи­дза махуэм щегъэжьауэ ар иухыху и лэжьыгъэр зы сыхьэти зэпигъэуа­къым: дзэзешэхэр абы и деж псалъэ хъурт махуи жэщи. Тимошенкэ тригъэкIри, СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и цIыхубэ комиссарым и къулыкъури езым къызыхуигъэнащ унафэ псори зы цIыхум зригъэкIуэн хуейуэ къилъытэри. Щыуагъэхэр яIэщIэкIами, ар тэмэму ича лъэбакъуэт, ар гъащIэми къигъэлъэгъуащ.
Фашистхэр лъэныкъуэ псомкIи — ищхьэми, икуми, ищIагъми — къы­щебгъэ­рыкIуэрт. ЕпIэщIэкIыу пэщIагъэува ди дзэхэр абыхэм япэлъэщыртэкъым. Вязмэ «котёлу» тхыдэм хыхьам ди цIыхухэр игъэгулэзащ: зэуэ мин 500-м щIигъу мафIэм и кум къыхэхутат. Абы нэхърэ нэхъ хэплъэгъуэ Iуэху япэкIи иужькIи ди къэралым къыщыхъуа­къым Хэку зауэшхуэр иухыху. Уеблэмэ, Сталиным и унафэкIэ комиссэ къы­зэрагъэпэщащ ар къы­зыхэкIар зригъэщIэну. Къуаншэри къа­гъуэтащ. Ар КъухьэпIэ фронтым и Iэтащхьэ Конев Ивант. Комиссэм и унафэщI, Зы­хъумэжыныгъэмкIэ комитетым хэт Молотов Вячеслав генералыр трибуналым иратыну ткIийуэ къигъэувырт, ар мыкъуаншэу абы и пIэкIэ а фронтым и унафэщIу ягъэува Жуков Георгий жиIэми. Щымыхъум иужьрейр Сталиным и деж псалъэщ, Iуэхур зыIутыр гуригъаIуэри, елъэIуащ Коневыр езым и къуэдзэу къигъэнэну. «Нэхъ тэмэму къызэрыплъытэм хуэдэу щIы», — арэзы хъуащ Нэхъыщхьэ дыдэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Коневыр къелащ (трибуналым IэщIыхьэмэ, ар яукIынут), комиссэм и лэжьыгъэри иухащ.
Ауэ абы щытыкIэр нэхъыфI ищIыртэкъым. Вязьмэ иужькIэ нэмыцэхэр Москва гъунэгъу хуэхъуащ. Япэ фашист бомбэр щыхьэрым щырадзыхащ бадзэуэгъуэ мазэм и кум. Бийм и ­кхъухьлъатэхэр кIуэ пэтми нэхъыбэрэ къалащхьэм щхьэщыхьэрт. АрщхьэкIэ лажьэшхуэ ямыIэу, бомбэхэр зытрагъэщэща нэгъуэщIхэм еплъытмэ, къызэтенащ уэгур зыхъумэхэм я фIыгъэкIэ. Ахэр псэемыблэжт, дэтхэнэри хьэзырт и хэкум папщIэ и гъащIэр итыну. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Талалихин Виктор и шэхэр щиухым и машинэр нацист кхъухьлъатэм жьэхигъэуащ. Ап­хуэдэхэм и деж псэууэ укъелынкIэ гугъапIэ гуэри щыIэкъым, ауэ, и на­сыпым къихьри, къелащ парашюткIэ къелъэри. Езым зэрыжиIэжамкIэ, ап­хуэдэ псэзэпылъхьэпIэм щыхуэкIуэм зэгупсысар зыщ: «Сэ сыкъемылми, бий кхъухьлъатэм ис нэмыциплIри хэкIуэдэнущ. Аращи, сатекIуэнущ». ЛIыгъэм и щапхъэхэр кIэ зимыIэм хуэдэу гъунэжщ.
АрщхьэкIэ нэмыцэхэм жэуап гуэр иратын хуейт. Абы гушхуэныгъэ къа­хилъхьэжынут «къуанщIэ фIыцIэхэм» ягъэшына москвадэсхэм. «Берлин еуэн» — ар япэу зигу къэкIам теухуауэ тхыдэджхэм жаIэхэр зэтехуэркъым, ауэ ар икIи Iуэхукъым. Совет авиацэм и унафэщI Кузнецов хуабжьу диIы­гъащ а гупсысэр. Кхъухьлъатэхэр зытелъэтыкIыну щIыпIэри къахуигъуэтащ: Ищхъэрэ тенджызым хэт хытIыгум щыIэ аэродромыр. Адрейхэм тет кхъухь­лъатэхэр фашист къалащхьэм нэсыфынутэкъым. Сталин Иосиф Iэ зыщIидза унафэр авиадивизием и Iэтащхьэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Водопьяновым и деж нагъэсащ. Абы ­къигъэувырт Берлин, ар яхузэ­фIэ­мыкIмэ Кёнигсберг (иджы Калининград — ред.), бомбэхэр щрадзыхыну. Пэжщ, унафэ пщIыну куэдкIэ нэхъ тыншт ар бгъэзэщIэн нэхърэ. Ауэ дэрэжэгъуэшхуэ яхэлъу Iуэхум яужь ихьащ: аэродромыр зыхуеину пщалъэхэм ирагъэзэгъащ. Мыгувэу абы зэкIэлъхьэужьу телъэтыкIащ бомбэзехьэ хьэлъэхэу 15. Гъуэгуанэр кIыхьым и закъуэтэкъым, атIэ егъэлеяуи дзыхь­щIыгъуэджэт — щIалэхэм лъэпощхьэпо куэд къапэплъэрт. Япэ ПВО-м зигъэхъеякъым: нэмыцэхэм ягугъащ пщэ­рылъ щащIахэр ягъэзэщIа иужь езы­хэм я кхъухьлъатэхэм къагъэзэжыну. Бомбэзехьэхэр километри 7 и лъагагъыу кIуэрт. Ар шынагъуэншэт, ауэ градус 40-м нэс щIыIэм игъэдыкъырт. Хуабэу ухуэпами, сыхьэт бжыгъэкIэ абы ухэтыныр уи фэм дэмыхуэн хуэдизт.
ИкIи мис къалъэгъуащ Берлин и уэздыгъэхэр. Жэщыр хэкIэсат. Иужьрей трамвайхэр, гува лъэсырыкIуэхэр я хэщIапIэхэм хуэпIащIэрт. Дакъикъэ зыбжанэ дэмыкIыу къалэр щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщызэщIэлыдащ. Фашистхэм я щыхьэрыр ягъэзджызджащ килограмми 100 зи хьэлъагъ бомбэ зэщIэфиехэм. Сталиным и жыIэр ягъэзащIэкIэрэ къыздащта фугасхэм (мафIэсышхуэ къэзыгъэхъухэм) щытыкIэр нэхъри гужьеигъуэ ящIащ. Ар апхуэдизкIэ зыпэмыплъати, нэмыцэхэм зэ­уэ зыкъащIэжакъым. Ауэ къэхъуар ­къащыгурыIуэм сиренэхэр зэщIэгъуэхъуащ, прожекторхэм уэгу кIыфIыр щIа­щыкIыу щIадзащ, кхъухьлъатэхэм заIэтащ, зениткэхэр, топхэр дэуейрт нэуфIыцIщхьэрыуэу. Ауэ ахэр кило­метри 7 зи лъагагъыу кIуэ бомбэзехьэхэм ялъэIэсыфыртэкъым: апхуэдизу зи щхьэ щытхъуж нацистхэм я прожекторхэр зэрыдэплъеифыр километритхукIэт.
Къэхъуар фашист Германием и дежкIэ напэтехт: зэхикъутакIэу жыхуиIэ къэралым езым и къалащхьэм бомбэхэр къыдедзэ! АрщхьэкIэ напэм емылIалIэ … и пропагандэм хэкIыпIэ къигъуэтащ. Абы ягъэIуащ мыпхуэдэ хъыбар: «Дыгъуасэ и жэщым Берлин къыщхьэщыхьащ инджылыз кхъухь­лъатэу 20-м щIигъу. Ди зауэлI хахуэхэм абыхэм ящыщу 6 къраудыхри, адрейхэр ирахужьэжащ». Ауэ пцIыр куэдрэ зекIуакъым. Сэбэп хъуащ Лондон и радиор: абы жиIащ зи гугъу ящI зэманым дунейр зэкIэлъымыкIуэу зэрыщытам къыхэкIыу, Великобританием и зы ­кхъухьлъати уэгум зэримыхьар. Сыт ящIэнт, заумысыжын ­хуей хъуащ Берлин еуар совет кхъухь­лъатэхэр зэрыарамкIэ. Нэхъыщхьэращи, къагуры­Iуэрт ахэр дяпэкIи къы­зэрыкIуэнур икIи зыри зэрахуэмыщIэнур. ФокIадэр къэсу ди кхъухьлъатэхэр зытелъэтыкI аэродромыр бийм зэтрикъутэху ап­хуэдэ щIыкIэкIэ бомбэ тоннищэхэр нацистхэм я гъуэм ирадзащ. Зауэм и екIуэкIыкIэм ижь щIимыхуми, ар ехъу­лIэныгъэшхуэт. Нэ­гъуэщI Iуэхущ адрей IэнатIэхэм щахузэфIэкIар. ­Абы­хэм ящыщщ «рельс зауэкIэ» зэджэр.
ХэщIыныгъэ хьэ­лъэ иратырт зэрыпхъуакIуэхэм яубыда щIыпIэ куэдым къыщызэрагъэпэща партизан отрядхэм, диверсие зылэжь гупхэм. Абыхэм бийм и хэщIапIэхэр, фронтым кIуэ мафIэгухэр къагъауэрт. А псоми куэд тратхыхьащ, дэ нэхъ зи гугъу тщIынур тхыдэджхэми журналистхэми нэхъ мащIэрэ фIэкIа къамыIэта Iуэхухэрщ. Мис абыхэм ящыщ зы.
«Урыс спецназым и адэшхуэу» къалъытэ Старинов Илья Испанием щекIуэкIа граждан зауэм зыкъыщигъэлъэгъуат диверсие Iуэхум куу дыдэу хэзыщIыкI цIыхуу. Абы и жыIэм щIэту ягъэтIылъа лагъымхэмкIэ хьэбэсабэу зэхакъутат урым дивизием и штабыр зэрыса мафIэгур. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащыну тхылъхэр ягъэхьэзырауэ 1937 гъэм къигъэзэжат, ауэ абы и пIэкIэ пцIы къытралъхьэри зэхэзехуэн ящIащ, ягъэтIысащ. Стариновыр къезыгъэлар Ворошиловырщ. Абы а зэманым НКВД-м и Iэтащхьэу щыта Ежов хуигъэуващ ордензехьэм и гугъу ямыщIыну. Полковник цIэр фIащ­ри, Стариновыр РККА-м и щIэныгъэ-къэхутакIуэ гъущI гъуэгу полигон нэхъыщхьэм и унафэщIу ягъэуващ. Абдежи къыщигупсысащ «къыпхущIэмых лагъымхэр — къыщагъэуэну пIалъэр ягъэIэпхъуэ хъухэр». Ар щэнейрэ Совет Союзым и ЛIыхъужь, апхуэдиз дыдэри генерал ящIыну къагъэлъэгъуат, арщхьэкIэ сыт щыгъуи щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ къызэпыуда хъуащ.
Стариновыр псом хуэмыдэу цIэры-Iуэ зыщIар генерал-лейтенант Георг фон Браун я пашэу фашистхэм я 53-нэ дивизием и унафэщI псори 1941 гъэм Харьков зэрыщызэтриукIарщ. Генералым увыIэпIэ ищIат а къалэм и унэ ­нэхъ дахэ дыдэр, зэгуэр Хрущёв Никитэ зыщылажьэу щытар. Ауэ къагурыIуэрт ди дзэхэр щикIуэтым зэры­пхъуакIуэхэм я нэ къыфIэнэну псори ­лагъымкIэ къызэрагъэтIылъыхьар. А лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIат езы Стариновым и унафэм щIэту. Апхуэдэуи ­хъуащ: Дзержинскэм и уэрамым тет а унэ дэгъуэм сапёрхэм къыщагъуэтащ псори зэхэту тротил килограми 150-рэ. Я ехъулIэныгъэм нэмыцэхэр апхуэдизкIэ игъэгушхуати, абыхэм директивэ щхьэхуэ къыдагъэкIащ мы псалъэхэр иту: «Полковник Стариновым «къып­хущIэмых» и лагъымхэр нэпцIу къы­щIэкIащ. Вермахтым и сапёр гъуэ­зэджэхэм, уеблэмэ, Iэмэпсымэ гуэри къагъэсэбэпын хуей хъуакъым Iэмы­кIуэлъэмыкIуэу ягъэувахэр къа­гъуэтын папщIэ». Директивэр къы­щы­дэкIар 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-рщ, ауэ ­щэкIуэгъуэм и 14-м унэ ­зыбжанэ зэтезыгъэщэха лагъымхэр Харьков къы­щы­уащ. Абыхэм хэкIуэдащ фон Браун и деж банкетым щызэхуэса офицер псори — къанэ щымыIэу дивизием и унафэщIхэр.
КъызэрыщIэкIамкIэ, «вермахтым и сапёр гъуэзэджэхэм» къагъуэтар къы­зэрагъапцIэ къунтх къудейрт, адрейхэр куууэ щIэуфат. Ахэр Воронеж щыIэ радиодетонаторымкIэ къагъэуащ.
Хэку зауэшхуэм и япэ илъэсхэм ­СССР-м къехъулIахэм ящыщщ Инджылызыр и гъусэу Ираным егъэ­щIылIа Iуэхур зэрызэфIагъэкIар. Фашистхэр щIыналъэм псынщIэу къы­кIуэцIрыкIыу хуежьа иужь, а къэралым и пащтыхь Реза Пехлеви Гитлер и дежкIэ еплъэкI хъуат. Тегеран куэду кIуэрт нэмыцэ хьэрычэтыщIэхэр, абы щызеуэрт абверым и тIасхъэщIэххэр. Нэ­щэнэ псоми къыбжаIэрт нацистхэм Ираныр зыIэрагъэхьэну зэрызагъэ­хьэзырыр. Ар егъэлеяуэ шынагъуэт Совет Союзми Великобританиеми я дежкIэ: итIанэ Ираным и лъэныкъуэмкIэ къикIыу Кавказми  а зэманым инджылыз колониеу щыта Индием и гъунапкъэхэми ялъэIэсыфынут. Ар къэбгъэхъункIэ Iэмал зимыIэт. Москварэ Лондонрэ нотэхэмкIэ мызэ-мытIэу Тегеран зыхуагъэзащ ар зэрыхуамыдэнур гурагъаIуэу, ауэ ахэр жэуапыншэу къэнащ. Апхуэдэу щыхъум Кавказым ираша совет дивизиеу 15-рэ инджылыз дивизиеу 4-рэ танкхэмкIэ Ираным и щIыналъэм кIуэцIрыкIащ къыпэ­ры­уэшхуэ щымыIэу. Реза Пехлеви езым и пIэкIэ и къуэр къигъанэри къэралым икIащ, Ираным и щIыналъэр IыхьитIу зэхуагуэшащ, Гитлери пыкIащ ар иу­быдыну иIа мурадым. Иджы ар зыхущIэкъуар СССР-м и къалащхьитIыр — Москварэ Ленинградрэ — зэрип­хъуэ­нырт. Япэу гузэвэгъуэр лъэIэсащ ищхъэрэ щыхьэрым: шыщхьэуIум бийм хузэфIэкIащ ар къиухъуреихьын, ауэ дыхьэфакъым. Ди зауэлIхэм, «революцэм и гущэр» псэемыблэжу яхъу­мэрт. Нэмыцэхэр хэтащ Совет Союзым гужьгъэжьгъ бзаджэ къыхузиIэ Финляндиер зыдигъэIэпыкъуну, уеб­лэмэ, финхэм хуагъэлъагъуэрт щебгъэрыкIуэну щIыпIэр — Карелие Зэ­пырыкIыпIэр. Мыбдеж мыхьэнэ ин зиIа къалэн щагъэзэщIащ ди тIас­хъэщIэххэм: абыхэм фашистхэм ­хуаIуэхурт Ленинград нобэ-пщэдей зитыну, афIэкIа зимыхъумэжыфыну, финхэр ягъэшынэрт щебгъэрыкIуэну хухаха щIыпIэм Советхэм къаруушхуэ щызэщIигъэуIуауэ жраIэурэ. Мис ап­хуэдэ «джэгухэр» сэбэпышхуэ хъуащ: хэщIыныгъэ хьэлъэхэр ягъуэтыну зи фIэщ хъуа финхэр тегушхуакъым Ленинград ебгъэрыкIуэну. Гитлери елIэ­лIэжакъым ахэр къигъэдэIуэным, абы и пIэкIэ унафэ ищIащ генерал-пол­ковник Гёпнер Эрих и 4-нэ танк армэр арыншами «зи псэр хэкI» Ленинград къытричу Москва и лъапэм игъэIэп­хъуэну. Ар къэсыным пэплъэу тIысыжащ Москва ебгъэрыкIуэ «Центр» дзэ гупыр. 1941 гъэм Япониер СССР-м и бий зауэм зэрыхэмыкIынум теухуауэ ди тIасхъэщIэх гъуэзэджэ Рихард ­Зор­ге къыбгъэдэкIа хъыбарыр и те­-гъэ­щIапIэу Сталиным ар жьыдэху­- пIэу ири­къуащ КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIэ ди дивизэм зыкъом къришын папщIэ.
АдэкIэ къэхъуам дэ дыщыгъуазэщ. Ленингад къызэращтэну къару фашистхэм яхурикъужакъым. Абы хузэ­фIэкIар ар блокадэм щIигъэтынущ. Къалэм щыпсэухэр а гъэунэхуныгъэ хьэлъэм къикIащ лIыгъэшхуэ яхэлъу икIи я напэр зытрамыхыжу.
Москва и деж Iуэхур зэрыщыщытыр нэгъуэщIущ. Бжьыхьэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу бийм иубыдакIэт щыхьэ­рым и гъунэгъу къалэ, къуажэ куэд. Европей политикхэм шэч къытрахьэжыртэкъым нэмыцэхэм ар къызэращтэнум, зэрызэтемыхуэр ар къыщыхъуну жы­хуаIэ зэманымкIэт: языныкъуэхэм зы мазэ жаIэрт, адрейхэм апхуэдизи иратыртэкъым.
КIуэтэхукIэ щытыкIэр нэхъри зэ­щIэплъэрт. Радиом къитхэм уагъэгузавэрт. Фашистхэм Можайск и лъэныкъуэмкIэ фронтыр къызэры­зэп­рат­хъам теухуа хъыбарыр къы­зэрыIуу ­къалэдэсхэр хьэжэпхъажэ хъуащ. ­СССР-м и лъэпкъ псоми ящыщ зауэлIхэм лъыр къапыжу Москва щахъу­мэ зэманым абы щыпсэухэр къэдзыхащ. Япэу «щапхъэ» зыгъэлъэгъуар фабрикэхэм я унафэщIхэрщ. Езыхэм я IуэхущIапIэхэм я автомашинэхэм я уна­гъуэхэр ирагъэтIысхьэщ, унэлъащIэ, алэрыбгъу хуэдэхэр иралъхьэри, ахэр зэрехьэжьащ. Жэпуэгъуэм и 16-р щы­хьэрым и тхыдэм «махуэ фIыцIэу», «напэтех махуэу» хыхьащ. Прокуратурэм иужьым къызэрихутамкIэ, а махуэмрэ къыкIэлъыкIуэмрэ унафэщI лэжьакIуэхэу 780-м нэблагъэм псори зэхэту сом мелардрэ мелуан 500-рэ зэкIэщIаупщIэри ежьэжащ, автомо­­биль псынщIэхэу, хьэлъэзешэхэу ­100-м хуэдизымкIэ. Сыт щыгъуи хуэдэу «къы­хэжаныкIахэм» яхэтащ парт, совет къулыкъущIэхэр. Парт билетхэу 1551-рэ ягъэсыжауэ къахутащ. КIэ­рыутIыпщу уэрамхэм къыдэна цIы­ху­хэм мылъкур зрапхъуэу щIадзащ. ЩIэпхъаджащIэ хуэмэбжьы­мэхэм ­тыкуэнхэр, псом япэу дыщэхэкIхэр ­зы­щIэлъхэр яхъун­щIэрт. Абыхэм ящыщ зыр яубыдащ сабий къызэры­рашэкI гу цIыкIукIэ ды­щэхэмрэ нал­къутхэмрэ ишэу.
Ауэ апхуэдэу зэрыщытар махуитI ­къудейкIэщ. Сталиныр Москва дэкIакъым, абы къалэдэсхэр къигъэгуш-хуэжащ. РадиокIэ къэпсэлъащ Жуков Георгий. Макъ быдэкIэ абы жиIащ Москва зауэ щытыкIэ зэрыщагъэувыр икIи абы къыщыгъэлъэгъуа хабзэ ткIийхэм псори текI имыIэу тетын зэрыхуейр, апхуэдэуи къагуригъэIуащ Совет Союзым и щыхьэрыр зэрырамытынур. Москва и дэкIыпIэ псори зэхуащIащ. МахуитI нэхъ дэмыкIыу цIыхухэр зэтесабырэжащ.
Совет лъэхъэнэм къалащхьэм щып­сэухэр зымыгъэдахэ мы Iуэхур щIэуфат. Сыт атIэ ар иджы дигу къыщIэдгъэкIыжыр? ЩытыкIэр Москва и мызакъуэу, къэрал псом и дежкIи гужьеигъуэу зэрыщытар къридгъэлъэгъуэн къудей щхьэкIэщ. ЖытIэнщи, хьэгъапхъэхэмрэ хьэжьвакъэжьышххэмрэ хагъэкъэбзыкIа иужь, къалащхьэм щып­сэухэм ящыщ куэд цIыхубэ ополченэм хыхьэри, фашистхэм япэщIэуващ, адрейхэр я къару емыблэжу лэжьащ.

Like this post? Please share to your friends:
  • Хэку зауэшхуэм теухуауэ сочинение
  • Царство растения презентация егэ
  • Целевая аудитория курсов егэ
  • Хью пентикост собрание сочинений скачать торрент
  • Царство растений егэ биология