Хьэкъун исуф бзылъхугъэ шу щэху сочинение

Обновлено: 12.03.2023

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Псалъащхьэхэр нап.

1. Хэзыгъэгъуазэ______________________________________________________3-5

2. 1ыхьэ нэхъыщхьэ__________________________________________________6-14

2.1. Адыгэ бзылъхугъэр________________________________________________6-7

2.2. Сыт хуэдэ хабзэхэр к1элъызэрахьэу щыта бзылъхугъэхэм_______________ 7-9

2.3. Бзылъхугъэмрэ напэмрэ_____________________________________________10

2.4.Щхьэлъащ1эм и хьэтыр______________________________________________11

2.6. Хъуэрыбзэхэмрэ щ1агъыбзэхэмрэ__________________________________12-14

3. К1эух псалъэ ________________________________________________________15

4. Къагъэсэбэпа тхыгъэхэмрэ интернет-ресурсхэмрэ_______________________16

1.Хэзыгъэгъуазэ

Къэхутэныгъэ лэжьыгъэм и мурадхэр:

1. Хабзэм теухуауэ нэхъыщхьэу ябжыр къэхутэн.

2. Уи хабзэр умыщ1эмэ ар зэрыемык1ушхуэм ц1ыхухэр щыгъэгъуэзэн.

3. Адыгэ хабзэм тету адыгэхэр псэуным хущ1экъуным хуэшэн.

4. Адыгэхэм я бзылъхугъэхэм гулъытэшхуэ зэрыхуащ1у щытар хабзэм къызэрыхэщыр къэгъэлъагъуэн.

5. Бзылъхугъэм к1элъызырахьэ хабзэхэр къэхутэн. А хабзэхэм утету ди зэманым упсэуфынумэ зэхэгъэк1ын.

Къэхутэныгъэ лэжьыгъэр зытеухуар : Адыгэхэм я бзылъхугъэхэм къыдек1уэк1 хабзэхэр.

Къэхутэныгъэм и 1эмалхэр:

— Тхыгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм щыгъуэзэныгъэ

Темэр ди зэманым къезэгъыу щ1ыщытыр: Дыщыпсэу зэманым лъэпкъ хабзэр к1уэдыжынк1э шынагъуэ щы1э хъуащ. Адыгэхэм бзылъхугъэм хуащ1у щыта нэмысымрэ пщ1эмрэ плъагъумэ, апхуэдэ хабзэ дахэхэр псоми къа1этыжыну иужь итынущ. А хабзэхэр ди зэманым къезэгъыу зэрыщытми псоми гу лъатэнущ.
Мы темэр къыщ1ыхэсхар: Сытым щыгъуи сыдехьэх ди тхыдэм. Нэхъ гъэщ1эгъуэн дыдэр Кавказым щыпсэу лъэпкъыу хъуам адыгэхэм хуэдэу зи бзылъхугъэ зыгъасэрэ зылъагъурэ зэрыщымы1аращ. Си лэжьыгъэмк1э сэ псоми язгъэлъэгъуну сыхуейщ апхуэдэ хабзэ дахэхэр зезыхьэ адыгэхэр дэнэ щ1ып1э щымы1ами зэрымык1уэдыжынур.

Дэтхэнэ ц1ыхуми и лъэпкъым и бзэр зэрищ1эн хуейм хуэдабзэу и хабзэхэри ищ1эн хуейщ. Ди зэманым куэдым я анэдэлъхубзэри зэрапэсыжкъым, хабзэм тетуи псэуну хуэмейхэри нэхъыбэжу щы1эу гу лъызотэ. «Хабзэр бзэгупэк1э зэрахьэркъым», -жа1э. Абы къок1 хабзэм утету упсэун хуейуэ. Жып1эк1э сыт, ар умыгъэзащ1эмэ? Ди хабзэ дахэхэр, дуней псом адыгэхэр ц1эры1уэ дызэрыхъуа ди хабзэ дахэхэр, дауэ бгъэк1уэдыжыну? Уи лъэпкъ хабзэр ф1ырэ 1ейрэ пщ1эн щхьэк1э, хабзэм лъабжьэ хуэхъуар пщ1эн хуейщ, хуейм имызакъуэу нэгъуэщ1 лъэпкъхэм я хабзэм ебгъэпщэфын хуейщ. Зи хабзэ нэхъ сыщыгъуазэ лъэпкъыу сыбжыр урысхэращ. Абыхэми я хабзэхэр ягу ирохьыж, абы тету щыпсэук1э, ар щагъэзащ1эк1э. Сэри ди адыгэ хабзэр нэхъ къыхызохыж абыхэм ейм щезгъапщэк1э.

Ди адыгэ хабзэр нэхъ сф1эгъэщ1эгъуэныж щыхъуар Нэгумэ Шорэ и 1эдакъэщ1эк1 «Ижь зэманым адыгэхэм я псэук1ар» жыхуи1ам сыщеджаращ. Апхуэдэ лъэпкъым сызэрибыным щхьэк1э си щхьэр лъагэу слъагъужащ. А тхыгъэм къыхощ ижьым псэуа адыгэхэм пэжагък1э, хьэл-щэныф1агък1э, хьэщ1э егъэблэгъэнк1э зы лъэпкъи япэ кърагъэувэу зэрыщымытар. Адыгэ хабзэм къызэщ1имыубыдэ щы1эу къыщ1эк1ынкъым сыт и лъэныкъуэк1и. Ар зэрыхъумэн хуейми шэч лъэпкъ къытесхьэркъым.

2.1ыхьэ нэхъыщхьэ

Ц1ыхубзыр дунейм и дыгъэщ,

Ц1ыхубзыр дунейм и мазэщ.

Фызмэ — гъащ1э гукъинэщ,

Анэмэ дунейм и жылэщ.

Л1ым зыдгъэлъагэ пэтми,

Я лъэгуажьэм ди жьак1эр нэскъым.

Агънокъуэ Лашэ

Адыгэ бзылъхугъэр

Адыгэ бзылъхугъэр дуней хъурей тхыдэм куууэ хыхьащ ик1и хэтщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ хамэ къэралхэм къик1а еджагъэшхуэхэмрэ къэхутак1уэхэмрэ яф1эгъэщ1эгъуэну адыгэ бзылъхугъэм тетхыхьахэщ.

Ахэр нэсащ адыгэхэм я бзылъхугъэхэм я дахагъэм, я акъыл жаным, ахэр нэхъ дахэж зыщ1эхъук1 хабзэ гъэщ1эгъуэнхэм.

Адыгэ бзылъхугъэр дэнэ лъэпкъ къыщыхутами, адыгэ лъэпкъым къызэрыхэк1ар зэи игъэгъуэщакъым. Абы и щыхьэтщ мы дуней псом ц1эры1уэ щыхъуахэу Урысейм щап1ауэ Черкасскэ Марие, опернэ уэрэджы1ак1уэр, Францием щап1а балеринэ Черинэ Людмилэ, Америкэм щыщ балеринэ Черкасскэ Марианнэ, Францэм и л1ыхъужь ц1э зыф1аща Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан, 1932 гъэм япэ дыдэу ек1уэк1а дахагъэмк1э зэпеуэныгъэр къэзыхьа Кариман аль Шаркасие, ди усак1уэ ц1эры1уэ Балъкъэр Фоусэт, нэгъуэщ1 куэди.

Еджагъэшхуэхэм адыгэ бзылъхугъэм и дахагъымрэ и акъылыф1агъымрэ куэдым хуахь. Псалъэм папщ1э адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ здис щ1ып1э телъыджэм и климатым, я дуней тетык1эм. А псоми пэж гуэр хэлъу къыщ1эк1ынщ, ауэ адыгэ бзылъхугъэм и дахагъым, и бжьыф1агъым и къежьап1э нэхъыщхьэр адыгэ хабзэм зэрыщ1ап1ык1ырщ, нэмыс, ук1ытэ хэлъу къызэрытэджырщ. Теплъэк1э дахэ къуэдейр зыми щыщкъым ар 1эдэбу, хьэл-щэн дахэ зыхэлъу щымытмэ. Адыгэр дэнэ щ1ып1э щымы1ами адыгэу къонэж и хабзэр зэрихьэрэ абы хуэпэжмэ. Арат адыгэм бзылъхугъэр гъэсэным мыхьэнэшхуэ щ1ритыр. Ауэ жа1акъым: «Напэ дахэр илъэс нысэщи, зи псэк1э дахэр уи гъащ1э гъусэщ».

Дунейм къыщытехьа дыдэм щыщ1эдзауэ хъыджэбз ц1ык1ухэр щ1алэ ц1ык1ухэр зэрап1ым къыщхьэщок1. Хъыджэбз къалъхуамэ, гущэри гущап1эри езы унагъуэм ягъэхьэзыр, щ1алэ къалъхуамэ, ахэр псори анэшым ягъэхьэзырти къыхуашэжырт.

Адыгэхэр хъыджэбзыр щысабийм къегъэжьауэ бзэ 1эф1у, акъылыф1эу, щэныф1эу, хабзаф1эу яп1ыну хущ1экъурт. Сабийм и ц1ык1ущхьэм щегъэжьауэ псалъэ 1ей, гуауэ зэхрагъэхыртэкъым, хъыджэбз ц1ык1ухэм гъэф1агъыбзэу зэреджэхэр «си дахэ», «си псэ», «си дыгъэ», «си нэху» хуэдэхэрат.

Сыт хуэдэ хабзэхэр к1элъызэрахьэу щыта бзылъхугъэхэм ат1э?

Хъыджэбз ц1ык1ухэр ягъасэрт мыныбаблэу, къабзэлъабзэу, бзэ 1эф1у, зыхуэныкъуэ псори езым ящ1эжыфу. Абы хыхьэрт адыгэ шхыныгъуэхэр пщэф1ыныр, щыгъыныр, лъакъуэф1элъхьэхэр дыныр, ахэр къызыхащ1ык1 фэхэк1хэр, цеяпхъэхэр щ1ыныр, унэрылъ хьэпшыпхэр гъэщ1эрэщ1ыуэ хэдык1ыныр, упщ1эхэр, алэрыбгъухэр, арджэнхэр щ1ыныр.

Гулъытэшхуэ дыдэ хуащ1ырт хъыджэбз цIык1ухэм я фэм зэрызиукъэбзым, я теплъэм, я дахагъэм зэрызиужьым. Нэхъыжьхэр хуэсакъырт хъыджэбзым и Iэпкълъэпкъ пщык1ут1ыр зэхуэдэным, и увык1э, и т1ысык1э, къэк1ухьык1эхэм к1элъыплъу, абы гу лъитэу есэным. А псом еф1эк1ыу адыгэхэм Iэмал гуэрхэри я1эт езыхэм дахэщ жыхуа1эм хуэдэу сабийм, псом хуэмыдэу хъыджэбз ц1ык1ухэм я зыужьык1эр, я хэхъуэк1эр яунэт1ынымк1э (сабий къалъхуагъащ1эм и напэр бынжэлък1э ялъэщ1ырт, быдзышэкIэ ятхьэщ1ырт, нэхъ хужь, нэхъ дахэ хъун щхьэк1э). Л1эщ1ыгьуит1 -щы хуэдизк1э узэ1эбэк1ыжмэ, адыгэ хъыджэбз ц1ык1ухэм я шэфэл къэкIуэгъуэ мыхъу щ1ык1э (илъэсибгьу-пщ1ым щитым) куэншыбэ щрагъэт1агъэу щытащ. Куэншыбэм хъыджэбз ц1ык1ум и 1эпкълъэпкъыр, и бгым къыщыщ1эдзауэ и шхулъэхэм нэс, быдэу зэщ1икъузэрт, и бгырыпх щ1эпхап1эр бгъузэу, и шхужьхэр лъагэу, езыр ичауэ, лъакъуэ лъагэу къэхъун щхьэк1э. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу ялъытэр арати, куэншыбэм хъыджэбз ц1ык1ум и бгьэхэр къигъэк1ыртэкъым. Адыгэхэм хъыджэбз дахэ зыф1ащу щытам к1эрыплъагьуэу, уи нэ къыф1энэу бгьэ и1э хъунутэкъым. ИкIи Iэк1уэц1ыр и бгыу щытын хуейт. Абы къыхэк1ыу хъыджэбз ц1ык1ум япэ дыдэу куэншыбэ щыщат1агъэм деж абы и 1эпщэр 1эпхъуамбэшхуэмрэ 1эпхъуамбапщэмрэ къапщырт. Ар тыншу къек1уэк1мэ, хъыджэбз ц1ык1ум и пщэм апхуэдит1 и гъумагьын хуейуэ ялъытэрт. Ауэ нэхъыщхьэр абы и бгым и гъумагьыр арат. Хъыджэбз цIык1ум и бгым и гъумагъ хъунур къащ1эн щхьэк1э Iэпщэр къызэрапща Iэбжьэр Iуданэм традзэрти, апхуэдипл1 къыпачырт. Арат хъыджэбз ц1ык1ум и бгым и гъумагьын хуейр: е езы хъыджэбз ц1ык1ум и Iэпщэм и гъумагьым хуэдизу плIы, е и пщэм и гъумагьым хуэдэу т1у. Нэхъ гъэщ1эгъуэныжырати, а пщалъэм темыхуэу нэхъыбэу къыщ1эк1мэ, ахэр иджыптсу зэрыжа1эм хуэдэу жып1эмэ , диетэ тк1ий трагъэт1ысхьэрт. Ди зэманым диетолог ц1эры1уэхэм зэхалъхьэ диетэхэм ещхьт ар: дагъэ зыщ1элъыр мащ1э дыдэу шхын, е зыри ирамыгъэшхыхэу пщалъэм нагъэст.

Ар уи нэгу къыщ1эбгъыхьэну ухуеймэ Петр Езанэм къызэригъэпэщауэ щыта музей Бытырбыху дэтым щ1элъым ущеплъ хъунущ. Адыгэ бзылъхугъэ ц1ык1ум и бгым и псыгъуагъыр абыхэмк1э тепщ1ыхьмэ сантиметр пл1ыщ1рэ и (48) щэныкъуэрэ т1у (52) хъунк1э хъунурат. Ди зэманым куэншыбэ щыпт1агъэнуи къезэгъыж хуэдэкъым, ит1ани я дахагъэр нэхъ къыхагъэщын щхьэк1э т1эк1у нэгъуэщ1у къагъэсэбэп хъуащ а хэьэпшыпыр.

Щхьэцыр бзылъхугъэм и фащэщ.

Хъыджэбз ц1ык1ур щагъасэк1э мыхьэнэ хэха хуащ1т и щхьэцыр зэрихьэфу, ижьыфу щытыным. Хъыджэбзым и щхьэцыр адыгэ фащэм щыщ 1ыхьэу ябжырт. Хъыджэбз дэсхэм я щхьэцыр т1ууэ ухуэнауэ зэрахьэрт, унагъуэ ихьа нэужь зыуэ ухуэнарэ и щ1ыбагъымк1э щышыхьыжауэ щытт, щхьэгъусэ зимы1эж фызабэм и щхьэ щ1ыбым щхьэцым к1эращ1эу щытащ шырыб гъэпщам ещхьу гъэпща гуэр. Жыжьэ укъиплъмэ, абы щхьит1 и1эу къыпф1эщ1т, ауэ ц1ыхухэм кърахыр ар дэ1эпыкъуэгъуншэу зэрыщытымрэ узэрыдэ1эпыкъун зэрыхуеймрэт.

Къардэнгъущ1 Зэрамыку и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэм къыхэщ 1уэхугъуэм и гугъу умыщ1ыныр емык1ушхуэщ щхьэцым ущытепсэлъыхьк1э. Къанщобий фыз 1эзэм деж игъэзэжын папщ1э Гуащэгъагъ пц1анэу жыхэфэгум иригъак1уэу еплъыну къыжре1э, апхуэдэу илъагъумэ лажьэ гуэр къыхуигъуэту игу щык1ын и гугъэу. Гуащэгъагъ и щхьэцышхуэр и лъэдакъапэм теуэрт. Ар мыук1ытэу и л1ым и пащхьэ пц1анэу иувэфынутэкъыми, и щхьэцышхуэр и гупэмк1э къридзыхри кърик1уащ, и щ1ыбагъымк1э иридзэк1ыжри ирик1уэжащ. Фыз 1эзэм зыхуеяр къехъул1акъым, Къанщобий и Гуащэгъагъ дахэр нэхъыф1ыжу илъагъу хъуащ.

Бзылъхугъэмрэ напэмрэ.

Дэ ди лъэпкъыр псом хуэмыдэжу хуэтк1ийт бзылъхугъэ ц1ык1ум зыри зыхуимыгъэпсэлъэным, я напэр, я щ1ыхьыр яхъумэжыным. Хъыджэбз делар, ягъэулъияр лъэпкъ псом я дежк1э напэтэкъым, щхьэф1эхт. Ауэ апхуэдэ бзылъхугъэр зэрымыщ1эк1э яшамэ, щабзыщ1ыр закъуэт1акъуэхэм дежт, нэхъыбэм гуфэ пц1анэк1э адэ-анэм хуашэжырти и уасэ щ1атари къы1ахыжт. Куэбжэпэм гупк1эр хуагъазэрт, вит1ыр щ1агъэхурти, къашэжар гупк1эмк1э пагъэщэтырт. «Мыбы и 1элъэщ1ыр жьым трихащ»,- хужа1эжырт. Апхуэдэ къызыщыщ1а хъыджэбзхэмрэ зыхуэпсэлъа бзылъхугъэ унагъуэ исхэмрэ я щхьэцыр к1агуэу паупщ1ырти хамэ щ1ып1э къик1ахэм иращэр.

Гуфэ пц1анэк1э ямышэжми, ди заманми зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж адыгэ унагъуэм япхъухэм я щ1ыхьыр ямыхъумэжу щыткъым. Дэтхэнэ зэманми ещхьу иджыпстуи щы1эхэщ хъыджэбз щхьэпс ц1ык1ухэр, щхьэзыф1эф1хэр. Апхуэдэ жымы1эмыда1уэ зи1э унагъуэхэм ахэр хьэрэм зыщ1и къахок1.

Щхьэлъащ1эм и хьэтыр.

Бзылъхугъэм и щхьэц ут1ыпщауэ, 1элъэщ1 темылъу уэрамым къытехьамэ, ц1ыхум къахыхьамэ, абы зы гузавэгъуэшхуэ къыщыщ1ауэ арат ик1и къолъэ1ук1э бгъэщ1эхъунк1э 1эмал и1этэкъым. А хабзэращ къызытек1ари къамэ къызыхуизыха ц1ыхухъухэм я зауэр 1элъэщ1ыр зытезыхыу яку дэзыдза бзылъхугъэм къигъэувы1эфынри къызытек1ар. Мыбы щыгъуэми нэхъыщхьэр 1элъэщ1ыракъым, ат1э анэм, бзылъхугъэм и лъэ1ум уебакъуэ зэрымыхъунурат, худэчыхын зэрыхуейрат.

Бзылъхугъэм пщ1э зэрыхуащ1у щытам и щапхъэщ мы хъыбарри.

Хъыджэбз ц1ык1у гъэсам куэдым гу лъитэн хуейт. Псалъэм папщ1э , нэхъыжьым псы щыхуэпшийк1э, шынакъым и къур нэхъыжьым хуэгъэзауэ пшиин хуейт, ар тыншу къэ1эбэу п1ихыфын хуэдэу. Хъыджэбзым и гукъэк1ым куэд елъытат.

Зэгуэрым 1уэху п1ащ1эгъуэ и1эу Къэзэнокъуэ Жабагъы жэщ къытехъуати унагъуэ гуэрым еблэгъат жи. Унагъуэм ягъэхьэщ1ащ, хабзэ кърахащ. Зы махуи, махуит1и, нэхъыби дэк1ащ Жэбагъы ежьэжын 1уэху лъэпкъ зэримыхуурэ. Бысымми егъэщ1агъуэ. зэрып1ащ1эр къыжри1ати зэремыжьэжыр. Жэбагъы деж хьэщ1эщым шхын хущ1эзыхьэн унэм дэмысу унэгуащэр я гъунэгъу хъыджэбз ц1ык1ум елъэ1уащ хьэщ1эр игъэшхэну. Хъыджэбз ц1ык1ум хьэщ1эм шхын хущ1ихьащ. Къэзэнокъуэм шхэн иухри фи шхыныр убагъуэ жи1эри къехъуэхъуащ. Хъыджэбз ц1ык1уми:» Уи хьэлэлщ, дадэ»,-жри1ащ. Жэбагъы хъыджэбз ц1ык1ум ф1ыщ1эшхуэ хуищ1ащ:»Си псэр къурмэн зыхуэхъун ц1ык1у! Тхьэмахуэ хъуауэ сшхам щхьэк1э «уи хьэлэлщ» къызжамы1эу, сэри семыжьэжыфу мы хьэщ1эщым сыщ1эсщ».

Дыщыпсэу зэманми бзылъхугъэм нэхъ гук1ъэк1 щи1эн хуейщ ц1ыхухъум нэхърэ. Дауэ мыхъуми, бзылъхугъэращ дунейри унагъуэри зэтезы1ыгъэр.

Хъуэрыбзэхэмрэ щ1агъыбзэхэмрэ.

Мыхьэнэшхуэ дыдэрэ гулъытэ хэхарэ хуащ1ырт хъыджэбзхэмрэ щ1алэхэмрэ джэгу щыхыхьэм, гухэлъ щызэхуащ1ым абы я зэхуэ1уэтэк1эм, я зэ1ущ1эк1эм, зэпсэлъэк1эм, лъагъуныгъэр зэрырагъажьэм. Адыгэ щIалэгъуалэр зэи дэкъузауэ я1ыгъакъым. Хуэсакъхэрт емык1у ямылэжььным, лей зэрамыхьэным, ауэ щ1эубыдауэ я1ыгътэкъым. Щ1алэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хуиту щызэрыц1ыхухэрт ик1и щызэдэгушы1эрт хьэгъуэл1ыгъуэхэм, гуф1эгъуэхэм, ц1ыху щызэхыхьэ тхьэлъэIу хуэдэхэм. Пэжт, ауэ сытми хъыджэбзхэр, хьэгьуэл1ыгъуэм, гуф1эгъуэм к1уэртэкъым, ик1и ягъак1уэртэкъым. Ат1э хъыджэбзым а гуф1эгъуэр, е хьэгъуэл1ыгъуэр зиIэ унагъуэр абы я нэхъыжьхэм я ц1эк1э къеджэн хуейт. Апхуэдэу хуит ящ1а хъыджэбзым и щхьэм пщ1э хуищ1ыжу щытмэ, езым и закъуэ тридзэу к1уэнри къезэгъыртэкъым. Ар е и дэлъху, е дзыхь зыхуищ1 щ1алэ, е гуфIэгьуэ зи1эм ящыщ къак1уэу яшэн хуейуэ арат хабзэр. И адэ-анэм хуит зыкъригъэщ1у зэрашам ещхьыркъабзэу къашэжу къратыжын хуейт. Ари зэрыщы1эну зэраухыл1а зэманым ф1эмык1ыу. Хьэгъуэл1ыгьуэ, гуф1эгъуэхэм и деж ф1ытэкъым ик1и ек1уртэкъым хъыджэбзыр псэлъэреймэ, дыхьэшхыреймэ, къэфэреймэ. Емык1ушхуэт хамэ щ1алэ, имыц1ыху, имы1ыхьлы и гъусэу хъыджэбзым зэгъуэк1 зищ1мэ. Удж дыдэм щыгъуи ар зы щ1алэм куэдрэ къыдэудж хъунутэкъым. Гухэлъ зыщ1а щ1алэмрэ хъыджэбзымрэ нащхьэ — 1ущхьэк1э зэрыщ1эрт, хъуэр гуэрхэр зэпадзыжырт, уджым зэдыхыхьэрт. Уджым зэрыхэт нап1эдэхьеигъуэрат ныбжьыщ1эхэм нэхъыбэу я гухэлъхэр ща1уатэр. Къыхэзгъэщыну сыхуейт хъыджэбзхэмрэ щ1алэхэмрэ я хъуэрыбзэхэр зэрыхьэлэмэтыщэр. Хъуэрыбзэмрэ щ1агъыбзэхэмрэ нэхъ къыщагъэсэбэпыр щ1алэмрэ хъыджэбзымрэ я гурыщ1эр щызэхуа1уатэм дежт. Къупщхьэкъута е у1эгъэ зи1э сымаджэм щ1опщак1уэ щыхуащ1к1э, хьэгъуэл1ыгъуэ дауэдапщэ щек1уэк1к1э абы щыхэзэхуэса щ1алэгъуалэм 1эмал я1эт зэпсэлъэну, гушы1эну. ит1ани ягу илъ псори я1уатэ хъуртэкъыми хъуэрыбзэк1э зэрыщ1эхэрт. Ахэр зэмыл1эужьыгъуэ 1эджэу зэщхьэщок1.

Хъуэрыбзэм и зы щапхъэ:

Щ1алэм ф1ыуэ илъагъу хъыджэбзым и деж и дэлэлыр игъак1уэри мыпхуэдэ псалъэ хуригъэхьати:

1эгу ису зы ныбгъуэ,

Гум илъу зы псалъэ,

Сынрик1уэну зы лъагъуэ,

Сыкърик1уэжыну зы гъуэгу.

Ди уни шэщкъым,

Ди шэщи щхьэгуэкъым,

Сэр щхьэк1э уи шы лъэгу щ1умыуд.

Апхуэдэу щыхъум щ1алэм аргуэру егъак1уэри мыр жрырегъы1э:

Си къамышык1 ек1эпц1экъым,

Си фэ ф1ыц1э зэхэдзэкъым,

Фадэм сыкъигъэмызкъым,

Фызк1эрэ сыныбдихьэхкъым,

К1эпхын хужьышхуэр къытумылъафэ,

Гъатхэ мылыфым зумыгъэлъахъэ,

Щэлъахъэ зэвыр зэпумыуд.

Узэгуэмыуду уи унэ исыж —

Сэ сыпхуеймэ, укъэзгъуэтынщ.

Мыри щ1агъыбзэм и зы щапхъэщ.

Хъыджэбз ц1ык1ухэр унагъуэ ихьэным хуагъэхьэзырт пасэу щ1адзэрти. Унагъуэ ихьа нысащ1эм унэм щ1эсхэм ц1э яф1ищт. Гуащэ-тхьэмадэм я ц1эри пщыкъуэхэм я ц1эри жа1эу хабзэм къезэгъыртэкъым. Хъыджэбз гуэр зыдэк1уэну щ1алэм и къуэшым Дзыгъуэ и ц1эти, и анэр гузавэрт пщыкъуэц1эр хуэбзыщ1ынукъым жи1эу. Хъыджэбзри дэк1уэныгу хъуа гуэрти и анэм пщыкъуэц1эр зэрыхуэбзыщ1ынур иригъэлъэгъуащ. Махуэ гуэрым пщ1ант1эм и анэр и гъусэу дэту дум дзыгъуэ ц1ык1у къык1эщ1эжащ. Ар щилъагъум:»Нанэ, еплъыт мо дум къык1эщ1эжа бзу ц1ык1ум»,- жри1ат. Анэми къыгуры1уащ пхъур дэбгъак1уэ зэрыхъунур.

3. К1эух псалъэ.

Ди адыгэ хабзэм куэд къызэщ1еубыдэ. Адыгэ хабзэр здынэмысрэ зылъэмы1эсрэ зы 1уэхугъуэ зэрыщымы1эр мы лэжьыгъэ к1эщ1ымк1э къэпщ1эфынущ. Мы дуней хъурей псом дызэры1уа адыгэ хабзэр дэ, къэхъу щ1эблэщ1эм, тхъумэжын хуейщ. Абы куэдрэ утепсэлъыхьк1э мыхьэнэ и1экъым, хабзэм утету упсэун хуейщ.

Си лэжьыгъэм бзылъхугъэм теухуауэ адыгэ хабзэм къищтэхэм и дзак1э ц1ык1унит1э къыщызгъэлъэгъуэфауэ аращ. Апхуэдэу куууэ щытуи, апхуэдэу куэд къызэщ1иубыдэуи си гугъакъым. Ди адыгэ псалъэжь 1ущхэм куэдым срагъэгупсысащ. ( Щ1алэ ц1ык1у уп1мэ, бгъасэмэ, адыгэл1 хъунум зыбогъэл1ал1эри, хъыджэбз ц1ык1у уп1мэ, бгъасэмэ, къэк1уэнум утолажьэ. Жылэм ягъэпуда л1ыр фызым къыдехыжыфри, фызым игъэпуда л1ыр жылэм къыдахыжыфыркъым. Ц1ыхухъум и л1ыгъэ, ц1ыхубзым и щэн. Ц1ыхубзым и лъэ1ур Тхьэм и унафэщ! Бзылъхугъэм и нэмысыр зыкъутэм, лIыгъи, адыгагъи хэлъкъым. Хабзэр кIуэдым лъэпкъри мэкIуэд )

Нанэхэм, дадэхэм нэхъыбэрэ епсэлъыл1эн хуейщ, нэхъыбэ къэщ1эн хуейщ. Лэжьыгъэм селэжьыху щ1э куэд къэсщ1ащ. Къэсщ1эну сыхуей хъуащ нэхъыбэж. Си лэжьыгъэр къыздэзы1ыгъахэм, сэбэп къысхуэхъуа си анэшхуэ Гъук1э Лилэрэ адыгэбзэмк1э си егъэджак1уэмрэ ф1ыщ1э ин яхузощ1.

Данный урок посвящен жизни и творчеству черкесского писателя-поэта Хакунова Исуфа. Эта тема была раскрыта с использованием проектно-исследовательской работы учащихся. Также учащиеся были глубже ознакомлены с природой Кавказа.

Вложение Размер
Разработка урока 452.5 КБ
Оформление урока 89.5 КБ

Предварительный просмотр:

Темэр: Хьэкъун Исуф и

Егъэджак1уэр: Мыжей М.Г.

Мурадыр: усак1уэ Хьэкъун И. и творчествэм нэхъ куууэ нэ1уасэ хуэщ1ын,

и усэхэр ф1ыуэ ягъэлъагъун;

я усэ къеджэк1эм, я бзэм и зыужьыныгъэхэм хэгъэхъуэн;

я щ1ыналъэр, Хэкур ф1ыуэ ялъагъуу, иригушхуэу гъэсэн;

усак1уэм и сурэтыр, словарнэ псалъэхэр, альбом, усак1уэм теухуауэ, сурэтхэр,

усак1уэм и тхылъхэр, компьютер, проектор,

эпиграфхэр: Усак1уэ куэдым, Кавказ, уэ уи ц1эр

Ди тхыдэ дахэм хатхащ.

Дэтхэнэрей ц1ыхури и лъэпкъым и л1ык1уэщ, и напэщ, и акъылщ.

Урокым и ек1уэк1ык1эр

1. Къызэзыгъэпэщ дакъикъэ.

(хьэщ1эхэм сэлам яхын: бохъу апщий, ди егъэджак1уэхэ!)

Сэ Инжыджышхуэ къуажэм сыщыщщ, псыхъуит1 зэпысчри фи еджап1эм сыкъэк1уащ.

— — Ц1ык1ухэ, нобэрей дерсыр едгъэк1уэк1ыну хуитыныгъэ ди1эн щхьэк1э ди лъэпкъым и тхыдэр ф1ыуэ зэрытщ1эр къэдгъэлъэгъуэн хуейщ.

— Адыгэ лъэпкъым и л1акъуэхэр дапщэ хъурэт? Къысхуевбжэк1ыт ахэр.

(щырыщурэ кърабжэк1, макъамэм щ1эту )

1. къэбэрдейхэр 7.жанейхэр

2. беслъэнейхэр 8.шапсыгъхэр

— Фыкъызыхэк1а лъэпкъыр фощ1э, иджы фи бзэм и шэрыуагъым и беягъым деплъынщ, унэ лэжьыгъэр къэтпщытэж щ1ык1эурэ. Мы адыгэ л1акъуэ пщык1ут1ым я1у рылъащ илъэс мин бжыгъэк1э ди нэхъыжьхэм тхуахъума адыгэбзэр:

Слайд Ирипсалъэ, Адыгэщ1, адыгэбзэм

Тетыхунк1э уи дунейм адыгэпсэ!

11. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын

— Адыгэпсэ зы1утхэм, лъэпкъыр ф1ыуэ зылъагъухэм я зы къудамэщ1эу фыкъыкъуэжащ фэри, ди щ1эблэ ц1ык1ухэ.

— Япэрауэ, хэт къызжи1эну сыт у/л фи1ар? (япэ гупым – щ1ымахуэм теухуа рассказ зэхэлъхьэн

Ет1уанэ гупым — щ1ымахуэм теухуа усэ къеджэн)

Рассказ нэхъыф1хэр къыжы1эн, анализ щ1ын.

Усэхэм гъэхуауэ къегъэджэн

Унэ лэжьыгъэмк1э микроитог щ1ын.

— Хъарзынэщ. Фи тхыгъэ ц1ык1ухэр хуабжьу гъэщ1эгъуэнхэщ, фи усэ къеджэк1эри тэмэмщ. Абы къегъэлъагъуэр фи бзэм гулъытэ хэха хуэфщ1у, и 1эфагъыр зэхэфщ1эу фызэрыщытыр.

Дэ псомк1и гуры1уэгъуэу щытын хуейщ бзэ зимы1э лъэпкъым гъащ1э зэримы1энур, зэрык1уэдыжынур. Фэ, ц1ык1ухэ, лъэныкъуэ псомк1и еджа, гъэса фыхъун папщ1э, фи адэ-анэр зэрыпсалъэ бзэр япэ ивгъэщу, фи гупсысэхэр кърифу1этэфын хуейщ.

Фщ1экъым, фэри къыфхэк1ынк1э хъунщ бзэм хуэлэжьа ди щ1эныгъэл1хэм хуэдэ зы.

— Къызжеф1эт, хэт сымэ фщ1эхэр ди усак1уэ тхак1уэ ц1эры1уэхэм ящыщу. (кърабжэк1)

Мисс ахэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу тщ1ынур.

— Дэтхэнэрей ц1ыхури и лъэпкъым и л1ык1уэщ, и напэщ, и акъылщ.

Адыгэбзэри ф1ыуэ илъагъуу, акъылыф1эу, адыгэ хабзэхэри и гъуэгугъэлъагъуэу ц1ыхугъэшхуэ зыхэлъа усак1уэ Хьэкъун Исуф , Хьисэ и къуэм нэхъ куууэ нэ1уасэ зыхуэтщ1ынущ.

Слайд (Хьэкъун И. и сурэтыр 1919 – 1998 )

— Ди адыгэ художественнэ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщ1а усак1уэхэм, тхак1уэхэм ящыщ зыщ.

Слайд И сабиигъуэр

Ар 1919 гъэм Инжыджышхуэ къуажэм къыщалъхуащ, ауэ и сабиигъуэр здек1уэк1ари, здэпсэуари Хьэбэзщ (и анэр Хьэбэз щыщт)

И адэшхуэ П1ат1 хуабжьу хуейт Исуф еджагъэшхуэ хъуну, ик1и илъэсих зэрырикъуу Исправнэ станицэм щеджэну ешэ. Ауэ абдеж куэдрэ щеджакъым. А зэманыр хьэлъэт, Советскэ властым бейхэм я мылъкур щытрахт. Абы хиубыдащ Хьисэ и унагъуэри. Арати, ек1уэл1ап1эншэу къэна Исуф и анэр и бынищыр игъусэу и дыщым къок1уэж ( К1эмрыгухэ). Исуфи и еджэным пещэ Хьэбэз еджап1эм, и адэшхуэ П1ат1 и уэсятыр и гум илъу. Илъэсибл еджап1эр тху защ1эк1э къиуха нэужь, Черкесскэ педучилищэм щ1охьэ. Пятигорскэ педагогическэ институтыр къеухри здеджа еджап1эм къегъэзэж егъэджак1уэу.

И творческэ лэжьыгъэр

2. Усэм къеджэн (егъэджак1уэр, макъамэ щ1эту)

— Сэ усэм сыкъеджэнущ, фэ зэхэфщ1эу фи тхылъхэмк1э фык1элъоплъ ик1и гу лъывотэ

къывгурымы1уэ псалъэ хэтмэ.

Уэздыгъей — сосна, псей – ель (сурэтк1э къэгъэлъэгъуэн) – Къущхьэхъу бгыжьхэм къыщэк1, псейр — гъэмахуи щ1ымахуи щхъуант1эу езыхьэк1, я пхъэр пхъэф1 ф1ы дыдэхэм ящыщщ, псэуалъэ зэмыл1эужьыгъуэ къыхах.

— Сыт мы усэр зытеухуар? (Кавказ щ1ыналъэм и дахагъым и беягъым)

Пэжщ, ц1ык1ухэ, усак1уэм къигъэлъэгъуащ Кавказым и лъэныкъуэ псори.

— Сыт усак1уэм зи гугъу ищ1хэр? (къуршыбгъэхэм, 1эщ хъушэ минхэм, гуэлхэм – сыт

зригъэлъытыр ? –гъуджэм, псыхэм, мэзхэм – сыт хуэдэ мэзхэм? – уэздыгъей, псей (сосновый лес), псэущхьэхэм, бгыхэм, губгъуэхэм, псэхуп1эхэм, псы хущхъуэхэм.

— Мы усэр сыт хуэдэ 1ыхьэхэу гуэша? ( Япэрауэ, къыщ1эдзап1э и1эщ – хэзыгъэгъуазэ,

адэк1э – Кавказым и теплъэр, Кавказым хуэуса усак1уэхэр, к1эух)

Хэзыгъэгъуазэ 1ыхьэм хэт къысхуеджэну?

— Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэухахэм къарык1ыр? (усэм елэжьын щыщ1адзэм

— К1эухым хэт къысхуеджэн? Гъащ1эр сыт хуэдэу къыхэщыжрэ мыбдеж? (Гъащ1эр дахэу,

еф1ак1уэу, ц1ыхухэр тхъэжу)

— Сыт хуэдэ 1эмалхэмк1э къигъэлъагъуэрэ усак1уэм Кавказ природэм и дахагъыр?

Олицетворенэ – псэ зы1ут псэущхьэхэм я хьэлыр дунейм и къэхъукъащ1эхэм е

хьэпшыпхэм яхэлъу къэгъэлъэгъуэнырщ (щапхъэ)

— Хэт сымэ Кавказым хуэусауэ усэм къыхэщыжыр? (Урыс усак1уэшхуэхэу Пушкинрэ Лермонтоврэ)

-Пэж, Кавказым, адыгэ хэкум и дахагъымрэ и беягъымрэ тетхыхьахэщ усак1уэ куэд.

А.С. Пушкин ф1ыуэ илъагъут Кавказыр ик1и усэ куэд триусащ Кавказ щ1ыналъэм и прирдэм, адыгэ лъэпкъым я псэук1эм.

И зы усэ къытхуеджэнущ …

— Пушкин иужьк1э Кавказым и дахагъым дихьэхащ Лермонтоври. Илъэсих ф1эк1а мыхъуу ар щы1ащ Кавказым и анэшхуэм дэщ1ыгъуу. Абы иужьк1и куэдрэ щыхьэщ1ащ, тхыгъэ телъыджэ куэди щитхащ Кавказым деж, природэм, адыгэ бзылъхугъэм, теухуахэу.

— Нобэ ди дерсым къытхуеблэгъащ езы Лермонотов и щхьэк1э ик1и къытхуеджэнущ и зы усэ.

( зы еджак1уэ Лермонтов ещхьу хуэпауэ усэм къоджэ)

4. Усэр гъэбыдэжын.

— Кавказым и природэм здытепсэлъыхь сатырхэм фыкъысхуеджэ — япэ гупыр.

— Кавказым и мэзхэм здытепсэлъыхь сатырхэм фыкъысхуеджэ — ет1уанэ гупыр.

— Кавказым и губгъуэхэм здытепсэлъыхь сатырхэм фыкъысхуеджэ — ещанэ гупыр.

Адыгэ лъэпкъым и щIэныгъэ вагъуэхэм ящыщ зы, зи гуащIэкIэ, акъылкIэ, пабгъэныгъэ емышыжкIэ лъэпкъ щIэныгъэм лъэбакъуэ махуэкIэ хэбэкъуахэм ящыщщ Къэрэшей-Черкес Республикэм къыщыхъуа, адыгэлI щыпкъэу дунейм тета Хьэкъун Исуф Хьисэ и къуэр. Мы щIалэм лъэпкъ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэу хуищIар уасэншэщ жыпIэми, угъуэщэну къыщIэкIынкъым. Сыту жыпIэмэ, гъащIэ къэухькIэ куэдым хунэмысами, и щIэныгъэлI, егъэджакIуэ, усакIуэ гупсысэкIэ хуабжьу сэбэп хуэхъуащ къэзылъхуа и лъэпкъым.

Къуажэ еджапIэ нэужьым Исуф къеух Черкесск дэт педучилищэмрэ егъэджакIуэ институтымрэ. ЕгъэджакIуэу Хьэбэз еджапIэм зэрыщылажьэу, Исуф къеухыж Псыхуабэ (Пятигорск) дэт пединститутымрэ Къэбэрдей- Балъкъэр къэрал университетымрэ, абыкIи а цIыху емышыжым игъэпэжат и адэшхуэм пщэрылъ къыхуищIауэ щытар…

Зэи зэмыпцIыжа егъэ джакIуэ IэщIагъэм Хьэбэз еджапIэм деж Исуф зэпымыууэ щрилэжьащ илъэс 43-кIэ. Исуф и тхыгъэусыгъэ нэхъыфIхэри зытриухуар Хьэбэзрэ абы и щIыпIэ телъыджэхэм, ныбжьырей Iэдииху чэщанэжьыр, Инжыдж щIыналъэращ.

Исуф унагъуэ дищIауэ щытащ Хьэбэз щыщ Къэргъей Бусинэт. Апщыгъуэм тIури Черкесск къалэм кIуат щеджэну: Исуф педучилищэм, Бусинэт медучилищэм. Ауэ фин зауэ къежьам и зэранкIэ, паудыжа стипендие тIэкIуми, къызэрымыкIуэу къатехьэлъэ гъащIэми я зэранкIэ, зы илъэс еджауэ, Бусинэт училищэм къыщIэмыкIыж хъуакъым, и щхьэгъусэм и еджэныр пригъэщэн, иригъэухын папщIэ. Сыт хуэдэ гугъуехь хуэмызами, а бзылъхугъэ емышыжыр Исуф и щIыб къыдэтащ щIэгъэкIуэнышхуэрэ щхьэгъусэ пэжу. Iэмал зэриIэкIэ лIым и гугъуехьым щыщ нэхъыбэ езым зэрызытригъэщIэным пылъу, и щхьэгъусэм и тхыгъэхэр къызэрехъулIам и япэ уасэхуэщIу, и япэ щIэджыкIакIуэ Iэзэу.

Исуф дежкIэ къэдгъэзэжынщи, абы ди лъэпкъ литературэм лъэужьыфI къыхинащ. Усыгъэ куэди, прозэкIэ тхаи иIэщ. И усэхэр къызэрыгуэкI псалъэ гурыIуэгъуэхэмкIэ гумрэ псэмрэ дыхьэу тхащ.

Ар зимыуасэ щыIэтэкъым зи щIэныгъэкIэ, литературэкIэ зыкъэзыужьыж лъэпкъым и дежкIэ. Исуфи и гъащIэр Тхьэм хуигъэтIылъыжыху хуэлэжьащ и лъэпкъ щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, литературэм. Дауи, апхуэдэ гъащIэ гъуэгуанэ псынщIэтэкъым, ауэ нэгъуэщIуи и лъагъуэ хуэшэщIынутэкъым Исуф хуэдэ адыгэлI щыпкъэм.

И ныбжьыр илъэс 80-м иту 1998 гъэм Исуф и дунейр ихъуэжащ. Ауэ и фэеплъ нэхур къыхэнащ лъэпкъ егъэджэныгъэм, усыгъэм, ар къэзыцIыхуу щыта дэтхэнэми и гукъэкIыжхэм.

Конспект урока по кабардинской литературе по теме

Бесплатное участие. Свидетельство СМИ сразу.
До 500 000 руб. ежемесячно и 10 документов.

Использование компьютерных технологий на уроке дало возможность для целостного восприятия детьми нового материала. Особое место на уроке занимает формирование и развитие у учащихсяобщеучебных навыков. Уровень самостоятельного мышления школьников, их познавательную активность, уровень усвоения и первичного закрепления нового материала я оцениваю как хороший. На мой взгляд, этот урок послужит толчком, опорой для дальнейшей познавательной деятельности учеников.Конспект урока по кабардинской литературе по теме «Гъатхэ махуэ»Хьэкъун И. (3 класс)

Читайте также:

      

  • Стихи об охране воды для начальной школы
  •   

  • Карен хорни невроз и личностный рост краткое содержание
  •   

  • Выборы ученического самоуправления в школе 2021 краснодарский край
  •   

  • Халатное отношение к детям в детском саду
  •   

  • Бен гур книга краткое содержание

Хьэкъун Исуф и «Бзылъхугъэ шу щэху» тхыгъэмкIэ къызэрапщытэ лэжьыгъэ

1 «Бзылъхугъэ шу щэху» тхыгъэр зытхар хэт?

А КIыщокъуэ Алим

Б Хьэкъун Исуф

В ЩоджэнцIыкIу Алий

2 ТхакIуэр къалъхуащ

А 1919

Б 1920

В 1929

3 Ар щыщщ

А Къэрэшей – Шэрджэсым

Б Къэбэрдей-Балъкъэрым

В Адыгейм

4 «Бзылъхугъэ шу щэху» тхыгъэр жаныркIэ

А Романщ

Б Повестщ

В Рассказщ

5 Тхыгъэм лIыхъужь нэхъыщхьэу къыхэщхэр?

А Залым,Сэимэт,Адисэ

Б Зырамыку,Сэтэней,Аминэ

В Зэрамыку,Сэтэней,Айшэт

6 Iуэхугъуэр щекIуэкI щIыпIэр?

А Ахъмэт къуажэ

Б Алъхъо къуажэ

В Абей къуажэ

7 Бзылъхугъэ шу щэхум фIащар?

А Фыз фIыцIэ

Б Уд фIыцIэ

В Жын фIыцIэ

8 Зэрамыку хэт зи къуэр?

А Мэремыкъуэ Башир

Б Мэртыкъуэ Болэт

В Мэшыкъуэ Батыр

9 Бзылъхугъэ шу щэхур къежьэн хуей щIэхъуар сыт?

10 Бзылъхугъэм и щхьэгъусэм зэреджэр?

А Танокъуэ Дамир

Б Танокъэ Даур

В Тэнащ Джэмал

11 Сыт абы къыщыщIар?

12 Хэт бзылъхугъэм и бийр?

А Зэрамыку

Б Башир

В Ахъмэтокъуэ

13 Бзылъхугъэмрэ и дэIэпыкъуэгъумрэ сыт ящIэр?

А ЗыгъэпсэхуакIуэ макIуэ

Б Биир гъэр ящI

В Бийр яукI

14 Дэнэт бзылъхугъэм и сабий закъуэр здэщыIэр?

А Францым

Б Истамбыл

В Лондэн

15 ЩIалэр Тыркум зэрыкIуа кхъухьыр

А Фирхьэун

Б Пелуан

В Титаник

16 Къызэригъэзэжа кхъухьыр

А Фирхьэун

Б Пелуан

В Титаник

17 Сытыт и ныбжьыр Зэрамыку?

А 20

Б 25

В 30

18 Фургоныр зей лIыжьым и цIэр сыт?

А Иван

Б Степан

В Алеша

19 Сыт хуэдэ къалэм и кхъухь тедзапIэрат Iуэхур щекIуэкIыр?

А Анапэ

Б Сэчи

В Согъум

20 Бзылъхугъэм и бийхэм сыт ярыщIар?

А БгъуэнщIагъым щIиубыдащ

Б ИукIащ

В ИутIыщыжащ

2IИлъэс дапщэ хъурэт бзылъхугъэм и сабий закъуэр зэрыкIуэдрэ?

А 17

Б 18

В 19

22 Тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэхэр фтхы?

23 Фэ сыт хуэдэ кIэух хуэфщIынт тхыгъэм?

Темэр: Хьэкъун Исуф и

       усэ «Кавказ»

                                                              Егъэджак1уэр: Мыжей М.Г.

Инжыджышхуэ къуажэ

2011 гъ.

Темэр:                            Хьэкъун Исуф и  усэ «Кавказ».

Мурадыр:  усак1уэ Хьэкъун И.  и творчествэм нэхъ  куууэ нэ1уасэ хуэщ1ын,

                    и  усэхэр ф1ыуэ ягъэлъагъун;

                    я усэ къеджэк1эм, я бзэм и зыужьыныгъэхэм хэгъэхъуэн;

                    я щ1ыналъэр, Хэкур ф1ыуэ ялъагъуу, иригушхуэу гъэсэн;

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр:

                     усак1уэм и сурэтыр,  словарнэ псалъэхэр, альбом, усак1уэм теухуауэ, сурэтхэр,  

                     усак1уэм и тхылъхэр,  компьютер, проектор,

                      эпиграфхэр: Усак1уэ куэдым, Кавказ, уэ уи ц1эр

                                             Ди тхыдэ дахэм хатхащ.

                                            Дэтхэнэрей ц1ыхури и лъэпкъым и л1ык1уэщ, и напэщ,  и  акъылщ.

Урокым и ек1уэк1ык1эр

1. Къызэзыгъэпэщ   дакъикъэ.

    — Сэлам яхын

       (хьэщ1эхэм сэлам яхын: бохъу апщий, ди егъэджак1уэхэ!)

    Сэ Инжыджышхуэ  къуажэм  сыщыщщ, псыхъуит1 зэпысчри фи еджап1эм сыкъэк1уащ.

    Си ц1эр М.Г.

 —          — Ц1ык1ухэ, нобэрей  дерсыр едгъэк1уэк1ыну хуитыныгъэ ди1эн щхьэк1э ди лъэпкъым и тхыдэр ф1ыуэ зэрытщ1эр къэдгъэлъэгъуэн  хуейщ.

           — Адыгэ лъэпкъым и л1акъуэхэр дапщэ хъурэт? Къысхуевбжэк1ыт ахэр.

                (щырыщурэ кърабжэк1, макъамэм щ1эту )

1. къэбэрдейхэр                       7.жанейхэр

2. беслъэнейхэр                        8.шапсыгъхэр

3.к1эмыргуейхэр                      9.убыххэр                                              

4.бжьэдыгъухэр                         10.мэхъуэшхэр

5.натыхъуэджхэр                       11.мамхэгъхэр

6.егъурыкъуейхэр                      12.абадзеххэр

          — Фыкъызыхэк1а  лъэпкъыр  фощ1э,  иджы  фи бзэм и шэрыуагъым  и беягъым деплъынщ, унэ лэжьыгъэр къэтпщытэж щ1ык1эурэ. Мы адыгэ л1акъуэ пщык1ут1ым я1у рылъащ       илъэс мин бжыгъэк1э ди нэхъыжьхэм  тхуахъума  адыгэбзэр:

Слайд        Ирипсалъэ, Адыгэщ1, адыгэбзэм

                  Тетыхунк1э  уи  дунейм адыгэпсэ!

                                                Абыт1э Хъ.

11. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын

— Адыгэпсэ зы1утхэм,  лъэпкъыр ф1ыуэ зылъагъухэм  я зы къудамэщ1эу  фыкъыкъуэжащ фэри,  ди щ1эблэ  ц1ык1ухэ.

— Япэрауэ,   хэт къызжи1эну сыт у/л фи1ар? (япэ гупым – щ1ымахуэм теухуа рассказ зэхэлъхьэн

                                                                            Ет1уанэ гупым — щ1ымахуэм теухуа усэ  къеджэн)

Рассказ нэхъыф1хэр  къыжы1эн, анализ щ1ын.

Усэхэм гъэхуауэ къегъэджэн

-оценкэ гъэувын

Унэ лэжьыгъэмк1э микроитог щ1ын.

— Хъарзынэщ. Фи тхыгъэ ц1ык1ухэр хуабжьу гъэщ1эгъуэнхэщ, фи усэ къеджэк1эри тэмэмщ. Абы къегъэлъагъуэр фи бзэм гулъытэ хэха хуэфщ1у, и 1эфагъыр зэхэфщ1эу фызэрыщытыр.

Дэ псомк1и гуры1уэгъуэу щытын хуейщ  бзэ зимы1э лъэпкъым гъащ1э зэримы1энур, зэрык1уэдыжынур. Фэ, ц1ык1ухэ, лъэныкъуэ псомк1и еджа, гъэса фыхъун папщ1э, фи адэ-анэр зэрыпсалъэ бзэр япэ ивгъэщу, фи гупсысэхэр кърифу1этэфын хуейщ.

Фщ1экъым, фэри къыфхэк1ынк1э хъунщ бзэм хуэлэжьа ди щ1эныгъэл1хэм хуэдэ зы.

 — Къызжеф1эт, хэт сымэ фщ1эхэр ди усак1уэ тхак1уэ ц1эры1уэхэм ящыщу.  (кърабжэк1)

 Мисс ахэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу тщ1ынур.

111.Темэщ1эм елэжьын.

  1. Хэзышэ псалъэ.

        — Дэтхэнэрей ц1ыхури и лъэпкъым и л1ык1уэщ, и напэщ,  и  акъылщ.

Адыгэбзэри ф1ыуэ илъагъуу, акъылыф1эу, адыгэ хабзэхэри и гъуэгугъэлъагъуэу  ц1ыхугъэшхуэ зыхэлъа усак1уэ  Хьэкъун Исуф , Хьисэ и къуэм нэхъ куууэ нэ1уасэ зыхуэтщ1ынущ.

                 Слайд   (Хьэкъун И. и сурэтыр  1919 – 1998 )

— Ди адыгэ художественнэ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщ1а усак1уэхэм, тхак1уэхэм ящыщ зыщ.

  Слайд            И сабиигъуэр

Ар 1919 гъэм Инжыджышхуэ къуажэм къыщалъхуащ, ауэ и сабиигъуэр здек1уэк1ари, здэпсэуари Хьэбэзщ (и анэр Хьэбэз щыщт)

И  адэшхуэ П1ат1 хуабжьу хуейт Исуф еджагъэшхуэ хъуну, ик1и илъэсих зэрырикъуу  Исправнэ станицэм щеджэну ешэ. Ауэ абдеж куэдрэ щеджакъым. А зэманыр хьэлъэт,  Советскэ властым  бейхэм я мылъкур щытрахт. Абы хиубыдащ  Хьисэ и унагъуэри.  Арати, ек1уэл1ап1эншэу   къэна Исуф и анэр  и бынищыр  игъусэу и дыщым къок1уэж ( К1эмрыгухэ). Исуфи и еджэным пещэ Хьэбэз еджап1эм, и адэшхуэ П1ат1 и уэсятыр и гум илъу.  Илъэсибл еджап1эр тху защ1эк1э къиуха нэужь, Черкесскэ педучилищэм щ1охьэ. Пятигорскэ педагогическэ институтыр къеухри здеджа еджап1эм къегъэзэж егъэджак1уэу.

                        И творческэ лэжьыгъэр

 Хьэкъун И. гук1и псэк1и ф1ыуэ илъагъууу щытащ ц1ык1ухэм яхэтыныр, ядэлэжьэныр. Литературэмк1э егъэджак1уэу щытк1эрэ, Исуф дихьэхащ тхэным ик1и зэман к1эщ1к1э и 1эрык1хэр къытрадзэ  хъуащ газетхэмрэ тхылъхэмрэ, щадж хъуащ еджап1эхэм. Абы и 1эпэм къыщ1эк1а  тхыгъэ хьэлэмэтхэр  иту Хьэкъуным дунейм къытригъэхьащ тхылъ заул.  Апхуэдэхэщ «Къэрабэ», «Щак1уэ дадэ къи1уэтэжхэр», «1эдииху», «Ажэгъуэмэ», «Бзылъхугъэ шу щэху» трилогиер.

        Макъамэ дахэхэр зыщ1алъхьа уэрэдыф1хэри и1эщ Хьэкъуным. Абыхэм ящыщщ: «Кърухэр къолъэтэж», «Лейлэ»  уэрэдхэр,  макъамэхэр Даур Аслъэн ейщ.

                  Слайд                   Поэмэ-гъыбзэ «1эдииху»

2.  Усэм   къеджэн (егъэджак1уэр, макъамэ  щ1эту)

              —  Сэ усэм сыкъеджэнущ,  фэ  зэхэфщ1эу фи тхылъхэмк1э фык1элъоплъ ик1и гу лъывотэ  

                 къывгурымы1уэ псалъэ хэтмэ.

  1. Словарнэ лэжьыгъэ

Л1ыщ1ыгъуэ – век

Уэздыгъей — сосна,  псей – ель (сурэтк1э къэгъэлъэгъуэн) – Къущхьэхъу бгыжьхэм  къыщэк1, псейр — гъэмахуи щ1ымахуи щхъуант1эу езыхьэк1, я пхъэр пхъэф1 ф1ы дыдэхэм ящыщщ,  псэуалъэ зэмыл1эужьыгъуэ къыхах.

  1. Усэр  зэпкърыхын.

— Сыт  мы усэр зытеухуар? (Кавказ щ1ыналъэм и дахагъым и беягъым)

Пэжщ, ц1ык1ухэ, усак1уэм къигъэлъэгъуащ Кавказым и лъэныкъуэ псори.

—   Сыт усак1уэм зи гугъу ищ1хэр? (къуршыбгъэхэм, 1эщ хъушэ минхэм, гуэлхэм – сыт  

зригъэлъытыр ? –гъуджэм, псыхэм, мэзхэм – сыт хуэдэ мэзхэм? – уэздыгъей, псей (сосновый лес), псэущхьэхэм,  бгыхэм,  губгъуэхэм, псэхуп1эхэм, псы хущхъуэхэм.

            — Мы усэр сыт хуэдэ 1ыхьэхэу гуэша? ( Япэрауэ, къыщ1эдзап1э и1эщ – хэзыгъэгъуазэ,  

              адэк1э – Кавказым и теплъэр,  Кавказым хуэуса усак1уэхэр, к1эух)

             Хэзыгъэгъуазэ 1ыхьэм хэт къысхуеджэну?

            — Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэухахэм къарык1ыр? (усэм елэжьын щыщ1адзэм

               яхуэгуэшын псалъэухахэр:

               «Зи щыгухэр гуауэм дэтхъуа», «Зи л1ыгъэр ф1ык1э хэтха»

           — К1эухым хэт къысхуеджэн?  Гъащ1эр сыт хуэдэу къыхэщыжрэ мыбдеж? (Гъащ1эр дахэу,  

              еф1ак1уэу, ц1ыхухэр тхъэжу)

            — Сыт хуэдэ 1эмалхэмк1э къигъэлъагъуэрэ усак1уэм Кавказ природэм и дахагъыр?

              Олицетворенэ – псэ зы1ут псэущхьэхэм я хьэлыр дунейм и къэхъукъащ1эхэм е

               хьэпшыпхэм яхэлъу къэгъэлъэгъуэнырщ (щапхъэ)

             Зэгъэпщэныгъэ —  

              Эпитет –

              Метафорэ  

              Зэгъэпщэныгъэ —  

— Хэт сымэ Кавказым хуэусауэ усэм къыхэщыжыр? (Урыс усак1уэшхуэхэу Пушкинрэ  Лермонтоврэ)

-Пэж, Кавказым, адыгэ хэкум и дахагъымрэ и беягъымрэ тетхыхьахэщ  усак1уэ куэд.

 А.С. Пушкин ф1ыуэ илъагъут  Кавказыр ик1и усэ куэд триусащ Кавказ щ1ыналъэм и прирдэм, адыгэ  лъэпкъым я псэук1эм.

И зы усэ къытхуеджэнущ …

                           («Кавказ» усэм зы еджак1уэ къоджэ)

— Пушкин иужьк1э  Кавказым  и дахагъым  дихьэхащ Лермонтоври.  Илъэсих ф1эк1а мыхъуу ар щы1ащ Кавказым и анэшхуэм дэщ1ыгъуу.  Абы иужьк1и куэдрэ щыхьэщ1ащ,  тхыгъэ телъыджэ куэди щитхащ  Кавказым деж, природэм, адыгэ бзылъхугъэм, теухуахэу.

 — Нобэ ди дерсым къытхуеблэгъащ  езы  Лермонотов и щхьэк1э ик1и къытхуеджэнущ и зы усэ.

                      ( зы еджак1уэ Лермонтов ещхьу хуэпауэ усэм къоджэ)

4. Усэр гъэбыдэжын.

 1)Хэчыхьауэ къегъэджэн.

— Кавказым и  природэм  здытепсэлъыхь сатырхэм фыкъысхуеджэ  — япэ гупыр.

— Кавказым и мэзхэм  здытепсэлъыхь сатырхэм фыкъысхуеджэ  — ет1уанэ гупыр.

— Кавказым и губгъуэхэм  здытепсэлъыхь сатырхэм фыкъысхуеджэ  — ещанэ гупыр.

2) Усэм еджак1уэхэр къегъэджэн.

1V. Къэхутэныгъэ лэжьыгъэ (проектно-исследовательская работа)

       «Кавказым и налкъут»

V.  Унэ лэжьыгъэ ятын.

      Хьэкъун Исуф и гъащ1эр къыжа1эжыфу, усэм Гъэхуауэ къеджэфу.

      Сочиненэ ц1ык1у Кавказым теухуауэ тхын.

V1. Урокыр къызэщ1экъуэжын.

  1. Егъэджак1уэм и псалъэ.
  2. Оценкэ гъэувын.
  3. Еджак1уэхэм я псалъэ

Адыгэ лъэпкъым и щIэныгъэ вагъуэхэм ящыщ зы, зи гуащIэкIэ, акъылкIэ, пабгъэныгъэ емышыжкIэ лъэпкъ щIэныгъэм лъэбакъуэ махуэкIэ хэбэкъуахэм ящыщщ Къэрэшей-Черкес Республикэм къыщыхъуа, адыгэлI щыпкъэу дунейм тета Хьэкъун Исуф Хьисэ и къуэр. Мы щIалэм лъэпкъ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэу хуищIар уасэншэщ жыпIэми, угъуэщэну къыщIэкIынкъым. Сыту жыпIэмэ, гъащIэ къэухькIэ куэдым хунэмысами, и щIэныгъэлI, егъэджакIуэ, усакIуэ гупсысэкIэ хуабжьу сэбэп хуэхъуащ къэзылъхуа и лъэпкъым.

Къуажэ еджапIэ нэужьым Исуф къеух Черкесск дэт педучилищэмрэ егъэджакIуэ институтымрэ. ЕгъэджакIуэу Хьэбэз еджапIэм зэрыщылажьэу, Исуф къеухыж Псыхуабэ (Пятигорск) дэт пединститутымрэ Къэбэрдей- Балъкъэр къэрал университетымрэ, абыкIи а цIыху емышыжым игъэпэжат и адэшхуэм пщэрылъ къыхуищIауэ щытар…

Зэи зэмыпцIыжа егъэ джакIуэ IэщIагъэм Хьэбэз еджапIэм деж Исуф зэпымыууэ щрилэжьащ илъэс 43-кIэ. Исуф и тхыгъэусыгъэ нэхъыфIхэри зытриухуар Хьэбэзрэ абы и щIыпIэ телъыджэхэм, ныбжьырей Iэдииху чэщанэжьыр, Инжыдж щIыналъэращ.

Исуф унагъуэ дищIауэ щытащ Хьэбэз щыщ Къэргъей Бусинэт. Апщыгъуэм тIури Черкесск къалэм кIуат щеджэну: Исуф педучилищэм, Бусинэт медучилищэм. Ауэ фин зауэ къежьам и зэранкIэ, паудыжа стипендие тIэкIуми, къызэрымыкIуэу къатехьэлъэ гъащIэми я зэранкIэ, зы илъэс еджауэ, Бусинэт училищэм къыщIэмыкIыж хъуакъым, и щхьэгъусэм и еджэныр пригъэщэн, иригъэухын папщIэ. Сыт хуэдэ гугъуехь хуэмызами, а бзылъхугъэ емышыжыр Исуф и щIыб къыдэтащ щIэгъэкIуэнышхуэрэ щхьэгъусэ пэжу. Iэмал зэриIэкIэ лIым и гугъуехьым щыщ нэхъыбэ езым зэрызытригъэщIэным пылъу, и щхьэгъусэм и тхыгъэхэр къызэрехъулIам и япэ уасэхуэщIу, и япэ щIэджыкIакIуэ Iэзэу.

Исуф дежкIэ къэдгъэзэжынщи, абы ди лъэпкъ литературэм лъэужьыфI къыхинащ. Усыгъэ куэди, прозэкIэ тхаи иIэщ. И усэхэр къызэрыгуэкI псалъэ гурыIуэгъуэхэмкIэ гумрэ псэмрэ дыхьэу тхащ.

— «Кърухэр мэлъэтэж» жыхуиIэр зыдэлъ письмор дзэм къулыкъу щысщIэу къызатат, къэрэгъулым и унэм дыщIэсу. Седжа нэужь постым здэсхьри, апхуэдизкIэ а усэм и псалъэхэр сигу хыхьати, си Iутыгъуэр нэзгъэсыным семыжьэфу постым сыздыIутым автомат лъэдакъэм телъу конвертым нотэхэм я линиехэр истхъэри, гум зэуэ къихьа макъамэр щIэслъхьат. А уэрэдым и Iуныр ноби ужьыхакъым.

Исуф литературэм зэрыхэбэкъуа тхыгъэ узыншэхэм къыщымынэу, абы нэгъуэщI зы зэчийкIэ Тхьэшхуэр къетат – ар егъэджакIуэ зэчийрат. Мы щIалэм и гъащIэр тIу ирищIыкIри и зы ныкъуэр сабийхэм яхуигъэтIылъащ. Хьэбэз еджапIэм къыщызэригъэпэщауэ щыта «НыбжьыщIэ тхакIуэ» литкружокым куэдым и сэбэп якIащ. Къапщтэмэ, усакIуэ-тхакIуэу иужьым Хьэбэзи, пэгъунэгъу къуажэхэми къыдэкIа куэд щIэкIащ мы кружокымрэ Исуфрэ я нэIэ, — игу къегъэкIыж Шэрджэс Алий.

Ар зимыуасэ щыIэтэкъым зи щIэныгъэкIэ, литературэкIэ зыкъэзыужьыж лъэпкъым и дежкIэ. Исуфи и гъащIэр Тхьэм хуигъэтIылъыжыху хуэлэжьащ и лъэпкъ щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, литературэм. Дауи, апхуэдэ гъащIэ гъуэгуанэ псынщIэтэкъым, ауэ нэгъуэщIуи и лъагъуэ хуэшэщIынутэкъым Исуф хуэдэ адыгэлI щыпкъэм.

Усэми прозэми Исуф къыдигъэкIащ тхылъибгъу. Абыхэм фIы и лъэныкъуэкIэ нэхъ къахощ «Бзылъхугъэ шу щэху» зыфIища роман-трилогиер. Исуф и усэхэм къытращIыкIащ уэрэд куэд, псом хуэмыдэу фIыуэ къилъагъуу абы къыдэлажьэу щытащ ди лъэпкъым къыхэкIа композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн. Ахэр зэгурыIуат Исуф и поэмэ «Iэдиихум» къытещIыкIа оперэ ятхыну. Ауэ тIури ажалым хущIигъэхьакъым. Исуф СССР-м и тхакIуэхэм я Союзми ящтауэ щытащ.

И ныбжьыр илъэс 80-м иту 1998 гъэм Исуф и дунейр ихъуэжащ. Ауэ и фэеплъ нэхур къыхэнащ лъэпкъ егъэджэныгъэм, усыгъэм, ар къэзыцIыхуу щыта дэтхэнэми и гукъэкIыжхэм.

БЕМЫРЗЭ Зураб

еджэн

Газета издается с 12 октября 1924 года

«Хьэжыгъэ пут закъуэ» ЩоджэнцӀыкӀу Алий

Мы тхыгъэр ин дыдэу пхужыӀэнкъым, ауэ гурыщӀэу зыхигъащӀэм, гупсысэу уигу къигъэкӀыр куэдыщэ дыдэщ. Тхыгъэр зытепсэлъыхь зэманым лъандэрэ илъэсищэм щӀигъу дэкӀами, пщыхэмрэ пщылӀхэмрэ щымыӀэжми, тхыгъэм къыщыхъу Ӏуэхугъуэхэр ди нобэрей гъащӀэми щыхыболъагъуэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи.

Тхыгъэр зытеухуар цӀыхум и гуауэм, и фэм дэкӀ бэлыхьым, ишэч хьэзабым, гущӀэгъуншэу, цӀыхугъэншэу зыр зым дызэрыхущытырщ. А псори тхакӀуэм ди нэгум къыщӀегъэувэр сабийм и гупсысэхэмкӀэ, и гурыгъу-гурыщӀэхэмкӀэ, и нэхэмкӀэ дырегъэплъ а къэхъуа Ӏуэхугъуэхэм.

Сабийм и гум мывэшхуэ хьэлъэу телъщ а хьэжыгъэ путым къахуихьа гуауэр, дунейм и дахагъэри къыфӀэмыӀэфӀыжу ещӀ. Хуэгъэвкъым а гузэвэгъуэр илъэсибгъу хъу сабийм и гум, и акъылым.

Унагъуэр шхын щхьэ мылӀэн папщӀэ, Хьэмид и гъунэгъу Тембот хьэжыгъэ пут закъуэ щӀыхуэу, хуэлэжьэжыну къыриӀыхащ. Тембот хьэж щыӀащ, Тембот хьэжыкӀэ йоджэр, сарыкъыр щыгъщ, нэмэз щыгъэр ӀэщӀэлъщ. Ауэ сыт и пэрмэн теплъэкӀэ зыбгъэмуслъымэныныр, ауэ хьэл-щэнкӀэ, Ӏуэху щӀэнкӀэ умымуслъымэным, цӀыхухэм уазэрыхущытын хуейуэ диным фарз тщищӀ хьэлыфӀхэр пхэмылъмэ, Алыхьым хьэрэм ищӀа пагэныгъэр пхэлъмэ, динымкӀэ уи щхьэ Ӏуэхухэр дэбгъэкӀмэ!? Диным и дахагъэр, и къабзагъэр зэхащӀэфакъым апхуэдэ цӀыхухэм. ТхьэмыщкӀэхэщ дауи жыӀи.

Иныкъуэ адыгэхэм я анэбзэм теухуауэ хуаӀэ бгъэдыхьэкӀэ, гупсысэкӀэ къуэнтӀа, зэблэша, мышухэри къыхощыр тхыгъэм. Адыгэ унэцӀэр, цӀэр зэрихьэу, теплъэкӀэ адыгэу, ауэ мыукӀытэу и лъэпкъым и псэр зыхэлъ бзэр Ӏумпэм ищӀу, «дызэрекэр урысыбзэс, ди бзэр сыту ссын…»,- жиӀэу. Ари мытхьэмыщкӀэу дауэ зэрыжыпӀэнур!?

Тхыгъэм къыщыхъу псоми сытэпсэлъыхьынкъым. Феджэм фэ езым щыгъуазэ фыхъунщ Хьэсет цӀыкӀу и унагъуэм хьэжыгъэ пут закъуэм бэлыхьу къатрилъхьар.

ЩоджэнцӀыкӀу Алий Ӏэзэу дегъэлъагъу цӀыху цӀыкӀум ди хьэл мыхъумыщӀэхэр, абы гуауэ къихьыр. Тхыгъэм дерс нэхъыщхьэу сэ къыхэсхар зыщ: » Адыгагъэм, муслъымэнагъэм дахэу утепсэлъыхькӀэ, фащэ дахэ зыщыптӀагъэкӀэ зэфӀэкӀкъым, ахэр уи хьэлыфӀхэмкӀэ, уи щэнымкӀэ, цӀыхухэм уцазэрыхущытымкӀэ, Ӏуэхум узэрыбгъэдыхьэмкӀэ къэбгъэлъагъуэн хуейщ, уи гъащӀэм къыхэщын хуейщ». Алыхьым апхуэдэхэм ящыщ дищӀ!

Т. Тимур

Like this post? Please share to your friends:
  • Царство животные подцарство простейшие егэ
  • Цветы сочинение егэ аргументы
  • Хьэжыгъэ пут закъуэ сочинение на кабардинском языке 6 класс
  • Царство животные егэ тест
  • Цветы на экзамен традиция