Къамботрэ лацэрэ я зэхущытык1эр сочинение

Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.

Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.

Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.

Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.

Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?

Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.

Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.

«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.

Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.

Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .

Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…

Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.

Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…

Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.

Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.

Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:

Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,

Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…

Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.

Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.

Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».

Адэк1и щ1оупщ1э:

«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?

Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,

Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»

Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.

Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.

Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:

Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!

Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!

Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.

1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.

Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.

Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:

Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!

Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.

Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей

Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.

Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,

Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.

Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.

Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.

Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!

Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.

Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.

Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.

1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.

Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу

«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э

Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.

Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!

Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.

Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э

Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.

Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-

ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ

дызытетыр.

Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар

Налшык къалэ

31 – нэ курыт еджап1эм

адыгэбзэмрэ литературэмк1э

и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.

Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,

Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,

Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,

Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.

Щ. С.

Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей — Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.

Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.

Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.

Алий и тхыгъэхэмк1э къэбэрдей литературэр гъуэгушхуэ, гъуэгу тэмэм тригъэуващ. Щоджэнц1ык1ум и 1эдакъэщ1эк1хэр тхылъеджэхэм гунэс ящыхъуныр къэзышар усак1уэм и талантырщ, къи1эта 1уэхугъуэхэм я инагъымрэ ахэр тэмэму зэрызэпкърихамрэщ, зыхэпсэухьа гъащ1эм зэрыдэушарщ, и тхыгъэ гъуэзэджэхэр зэрыкупщ1аф1эрщ. Щоджэнц1ык1ум и гупсысэмрэ и къалэнымрэ куэдым нэсащ. Алий ф1ыгъуэу илэжьахэм ящыщ зыщ и геройхэм я гумрэ я псэмрэ я щытык1эр, абыхэм я гуращэр, я гуапэр е я гуауэр къэбэрдей литературэм япэу зэрыщигъэлъэгъуар. Абы и «Къамботрэ Лацэрэ» романым къегъэлъагъуэ патриорхальнэ – феодальнэ щытык1эм Къэбэрдейр щитам ди ц1ыхухэм я псэук1ар, пщыхэмрэ пщыл1хэмрэ яку дэлъа зэныкъуэкъуныгъэр; «Мадинэ» поэмэр адыгэ унагъуэм, абы илъа хабзэм теухуащ; «Тембот и дыгъуасэхэм» къэбэрдей мэкъумэшыщ1эхэм Дзэлыкъуэ къыща1эта восстанэм щыгъуазэ дащ1; «Ныбжьыщ1э хахуэ», «Партизан Жамбот» поэмэхэм ди хэкум граждан зауэр зэрыщек1уэк1ар, нэгъуэщ1хэри.

Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.

Щоджэнц1ык1у Алий и бзэр дахэщ, къулейщ. Сэ изогъэщхь ар макъамэ гуак1уэ зыщ1элъ уэрэдым. Щоджэнц1ык1ум щхьэк1э куэдрэ жа1эу зэхыбох : « усак1уэ 1эзэщ». Ауэ, сэ къызэрыслъытэмк1э, Алий дежк1э ар мащ1эщ. Ар псалъэм и художник 1эзэм къыщымынэу, гъащ1эм куууэ пхырыплъыф ц1ыху щыпкъэщ.

Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.

Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.

Нобэ Алий тхэмытыжми,

Псоми ди гум 1эф1у илъщ.

Къигъэнауэ и лэжьыгъэр

Усак1уэшхуэм и фэеплъщ.

Гъу. Хъу.

Щоджэнц1ык1у Алий хузоус.

Адыгэ хэкуу си лъахэм

Алий ц1эр лъагэу ща1этыр.

Усак1уэ иным уэ птхахэм

Кавказ щ1ыналъэр щолъап1эр.

Уи тхыгъэф1 куэдхэу къэнахэм

Псэщ1э ц1ыху псоми яхелъхьэр.

Уи усэ шэрыуэхэр зыджахэм

Сэри сащыщщи согуф1эр.

Уи повесть дахэхэм уеджамэ,

Мыбэяуж гу къеуэр щ1эх.

Гукъыдэж пщ1ыуэ, ут1ысамэ,

Узэ1эпешэ, удехьэх.

Уэ уэщхьу дахэу сытхэфамэ,

Ар насыпышхуэу сэ сыбжынт.

Уэ пхуэдэ тхак1уэ здэнт сыхъуамэ,

Сэ усэ тхынк1и с1уэтэжынт.

Мы гъащ1э 1эф1ым утемытми,

Сыт щыгъуи ди гум ущопсэу.

Мы ди зэманым ухэмытми,

Уи тхыгъэр куэдрэ тхурепсэу.

Урок – зэ1уха

C:Usersкомп5Desktop11020131366.jpg

Темэ: «Пасэ  зэманым  адыгэ  ц1ыхубзым и  образыр  Щоджэнц1ык1у   Алий   и «Мадинэ» поэмэм    къызэрыщыгъэлъэгъуар »

  МКОУ  » ООШ  №4 Г.П.Терек»   адыгэбзэмрэ   адыгэ  литературэмрэ   и   егъэджак1уэ       Мамий  Альбинэ.

Аннотация

Учитель:Мамиева Альбина Артуровна.

Урок: Кабардинская литература.

Дата проведения: 06.02.2015год.

Место проведения: МКОУ ООШ №4 ГП Терек, 9класс.

Тип урока: Подготовка к сочинению.

Цель урока: Активизация учебной и творческой деятельности учащихся средствами литературы, народного фольклора музыки, искусства, обеспечение обще культурного и музыкального развития путем постижения народных традиций.

Задачи:

1. Организовать повторение и закрепление по теме: «Пасэзэманымадыгэ ц1ыхубзым и образыр Щоджэнц1ык1у Алий и «Мадинэ» поэмэмкъызэрыщыгъэлъэгъуар».

2. Развитие эстетического вкуса учащихся. Способствовать развитию интеллектуальных умений и навыков, диалектического мышления, памяти.

3. Способствовать мыслить, осознавать и доказывать мнение, не забывая своих традиций, воспитывать любовь к искусству горцев, музыке, к родной литературе, к народной музыке. Выбор структуры урока был сделан соответственно типу урока.

Этапы урока

1. Организационный (приветствие, сообщения темы урока, задач на уроке).

2. Этап проверки домашнего задания.

3. Подготовка учащихся к работе на основном этапе.

4. Основной этап.

5. Закрепление.

6. Подведение итогов.

7.Домашнее задание.

На уроке использованы следующие методы обучения: поисковые, исследовательские. Методы контроля: устные, письменные, групповые, индивидуальные.

Всю работу на уроке я спланировала, учитывая психологические и возрастные особенности класса и рекомендации психолога школы.

На первом этапе прозвучало приветствие, сообщение темы урока и задач на урок.

На следующем этапе учащиеся провели поисково-исследовательскую работу. Продемонстрировали любовь к музыке, к искусству, к литературе, к обычаям и традициям адыгского народа. Содержание урока способствует всестороннему развитию личности.

На основном этапе учащиеся полностью раскрыли тему сочинения: «Образ адыгской женщины в поэме Алий  Шогенцукова «Мадина»».Выяснилось, что учащиеся в основном правильно отнеслись к идее поэмы.

Бзэм  зезыгъэужь   урок

Мурадыр:1. Адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэныр Мадинэ и образым  къызэрыхэщыр.

2. Пасэ  зэманым псэуа  адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ нобэрей адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ зэгъэпщэн.      3.Еджак1уэхэм я гупсысэр тэмэму зык1элъахьыфу гъэсэным елэжьын.

Къехьэл1апхъэхэр: «Мадинэ» оперэм и пычыгъуэ . Поэмэм ехьэл1ауэ еджак1уэхэм ящ1а сурэтхэр. Адыгэ ц1ыхубзым, адыгэхабзэм ехьэл1а тхыгъэхэр зэрыт тхылъхэр, презентацэ, компьютер, проектор.

Эпиграф:

Ц1ыхубзыр гъащ1эм и дыгъэщ, ц1ыхубзыр дунейм и мазэщ.

АгънокъуэЛашэ./

 I.Урокымхуэгъэхьэзырын

Егъ.:Фи махуэ ф1ыуэ!

Едж.: Нэхъыф1ыжу!

Егъ.: Фыт1ыс. Дэ нобэ оперэм щыщ 1ыхьэ дедэ1уэнущи, къэфщ1эну п1эрэ ар?  Къардэн Хьэсэн и «Мадинэ» оперэм щыщ 1ыхьэ Мадинэ и арием егъэдэ1уэн.

Егъ.:Мы фызэдэ1уа произведенэм хэт  щыгъуазэ? Сыт хуэдэ оперэм щыщ мы пычыгъуэр? Сыт хуэдэ художественнэ тхыгъэм тращ1ык1ыжа мы тхыгъэр?

Едж.: Мы произведенэр       Къардэн      Хьэсэн и «Мадинэ» оперэм   щыщщ.  Мадинэ и ариещ.

Eгъ.:Хэт ар зыгъэзащ1эр?

Едж.:Бэгъэтыжь  Светэщ.

5-нэ слайдыр  къэгъэлъэгъуэн.

Къэхутэныгъэ  лэжьыгъэ. Презентацэ еджак1уэхэм ящ1ын.

5-слайд.

Бэгъэтыжь Светэ- уэрэджы1ак1уэ  1эзэщ. Къэбэрдей — Балъкъэрым и щ1ыхь зи1э уэрэджы1ак1уэщ.

Егъ.: Сыт хуэдэ  гупсысэхэр къытхуигъэушрэ  мы  пычыгъуэм дыщеда1уэк1э?

Егъ.: Гук1э зэхэфщ1ауэ п1эрэ поэмэм и пычыгъуэмрэ   макъамэм и зэпыщ1эныгъэмрэ?

Едж.: Мадинэ поэмэм  макъамэ гуак1уэ, къулей щ1элъым къыхэк1к1э къыщ1эк1ынщ, Къардэн  Хьэсэн  къыщ1игъэсэбэпар а поэмэр ик1и аращ «Мадинэ» ф1эщ1ыгъэц1эр  щ1ритар.

3-4 слайдхэр къэгъэлъэгъуэн. Къэхутэныгъэ  лэжьыгъэ. Еджак1уэхэм   презентацэ ящ1ын.

3-слайд.

Къардэн Хьэсэн къэгъэлъэгъуэн. Къардэн Хьэсэн Къэбэрдей-Балъкъэрым и композитор ц1эры1уэщ. Ар февралым и т1ощ1рэ щым Шэджэм езанэкъуажэм 1923 гъэм  къыщалъхуащ. Ленинград дэт  консерваториер  къиухащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гимнырзыхилъхьащ.

4-слайд.

Абы оперэ зыбжанэ  итхащ. «Мадинэ» и мызакъуэу абы итхащ «Къамботрэ Лацэрэ» оперэри, «Мыщэ и къуэ Батыр», нэгъуэщ1 1эджи. Оперэр япэдыдэу 1970 гъэм театрым къыщагъэлъэгъуауэ щытащ.

Егъ.: Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ  театрым  щагъэувауэ  щытащ  спектакл.Феплъамэ,хэтсымэ л1ыхъужь нэхъыщхьэхэм я ролхэр зыгъэзэщ1ар? Фц1ыхуу п1эрэт ахэр?

Едж.:Мадинэ и ролыр игъэзэщ1ащ  Бэгъэтыжь Светэ.Заур и ролыр игъэзэщ1ащ Жылокъуэ  Мухьэмэдин.

«Мадинэ» и ариер    игъэзэщ1ащ ди  лъэпкъ   уэрэджы1ак1уэ  нэхъыф1 дыдэхэм  ящыщ  зым-Бэгъэтыжь  Светэ .

Егъ.:Ц1ыхубзым и  образыр къыхэщу сытхуэдэ тхыгъэ Щоджэнц1ык1у Алий и  1эдакъэм  къыщ1эк1ар? «Мадинэ» и закъуэкъым тхак1уэм къигъэщ1а образыр. Дигу къэдгъэк1ыжынщ «Щ1ымахуэ жэщым» къыхэщ  фызабэ тхьэмыщк1эр.

Едж.: Ц1ыхубзым пщ1эи щхьэи имы1эу зэрыщытыр «Щ1ымахуэ жэщым» къыхощыж.

Егъ.:Мис  зы нэгъуэщ1  тхыгъи «Тек1 бжэщхьэ1ум».

Егъ.:Сыт хуэдэ  хьэл-щэнхэр   къыхэщрэ мы тхыгъэми?

Едж.: Ц1ыхубзым хьэм   хуэдэу   зэрыхущытар, пщ1э зэримы1ар.

Егъ.:Адыгэ  ц1ыхубзым и образ зэмыл1эужьыгъуэхэр къыщызэригъэпэщащ Щоджэнц1ык1у Алий ди литературэм. Дэ ди  къалэнщ абы итха тхыгъэхэм щыгъуазэ зытщ1ыну, абыхэм пщ1э яхуэтщ1ыну. Абы къыхэк1ыуи урокым дэ нобэ  къыщызэдгъэпэщащ Щоджэнц1ык1у Алилй и тхыгъэхэм  теухуа  тхылъ (выставкэ). Мыбы  фэ  щыгъуазэ щызыхуэфщ1ыфынущ тхак1уэм и гъащ1э гъуэгуанэм,  абы итха тхыгъэхэр  зытеухуа 1уэхугъуэхэм. Гъащ1эм и дахагъэр   зыхэфщ1эфу фыхуэзыгъэсэн  куэди   къыхэфхынущ.

Егъ.:Щоджэнц1ык1у Алий Мадинэ и образыр  телыджэу къигъэлъэгъуащ.  Унэм  щывгъэхьэзыра  Мадинэ и сурэтхэм  фытхутепсэлъыхь.

II.Унэ  лэжьыгъэр

Едж. сурэтхэм топсэлъыхь. Мы сурэтым  сэ   къыщызгъэлъэгъуащ  адыгэ ц1ыхубзым и дахагъэр, и къабзагъэр.

Едж.:Мадинэ1эсэщ, сабырщ, хьэл-щэндахэ  хэлъщ.

Егъ.:Хъарзынэу  фи  сурэтхэм  фытхутепсэлъыхьащ.

Егъ.: Искусствэри, живописри, литературэри- ахэр псори ц1ыхум игупсысэр  къызэра1уатэ 1эмалщ. Ди Хэкумсурэтыщ1 1эзэ куэд исщ. Абыхэм  ятеухуа фэ  вгъэхьэзыра лэжьыгъэхэмфыкъытхуеджэ.

Ет1уанэ гупым я къэхутэныгъэ  лэжьыгъэ.  Презентацэ.

7-8 слайдхэркъэгъэлъэгъуэн.

7-слайд.

Дуней псом щыц1эры1уэ, сурэтыщ1 1эзэ — К1ыщ Мухьэдинщ. Абы и 1эщэр дахагъэм  хуэгъэзащ. Ат1э, «К1ыщ» унэц1эм къызэрытхуи1уатэщи, абы къок1 «1эзагъэ».1эпэм къыпык1 искусствэр зыгъэлажьэ, зыгъэпсалъэ. К1ыщ Мухьэдин и унэц1эр егъэпэж.

8-слайд.

Сурэтыщ1 К1ыщ Мухьэдин тепсэлъыхьын. К1ыщ Мухьэдин сурэтыщ1 1эзэщ. Абы и лэжьыгъэхэр  дуней псом щыц1эры1уэщ. Ар Шэджэм къуажэм 1939 гъэм къыщалъхуащ. Ленинград дэт университетыр  къиухащ. 1973 гъэм тхак1уэхэм я союзым хагъэ хьащ.   Абы Мадинэ и сурэтыр ищ1ащ.

Егъ.: Аращи, гуры1уэгъуэ хъуауэ къыщ1эк1ынщ Щоджэнц1ык1у Алийи поэмэм и темэ  нэхъыщхьэр.Мурадыр.

1-2слайдхэр  къэгъэлъэгъуэн

1-слайд.

Темэ: «Пасэ  зэманым  адыгэ  ц1ыхубзым и образыр Щоджэнц1ык1у   Алийи «Мадинэ» поэмэм  къызэрыщыгъэлъэгъуар.

2-слайд

Мурадыр:

1. Адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнырМадинэ и образым  къызэрыхэщыр.

2. Пасэ зэманым псэу аадыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ нобэрей ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ  зэгъэпщэн.

3. Еджак1уэхэм я гупсысэр  тэмэму зык1элъахьыфу гъэсэным елэжьын.

III. Урокым и 1ыхьэ нэхъыщхьэм  хуэгъэхьэзырын

9-слайд  къэгъэлъэгъуэн. Зэрызэпкърах упщ1эхэр.

1. Адыгэ ц1ыхубзыр хэт и образымк1э поэмэм къыщыгъэлъэгъуа  ик1и сыт  хуэдэу   къэгъэлъэгъуа?

2. Адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэн   удэзыхьэхыу Мадинэ  хэлъыр сыт?

3. Мадинэ насыпыф1э хъуным  хэт  сымэ  зэран   къыхуэхъуар?

4. Гъащ1эм щек1уэк1 залымыгъэм  хуэдэ 1эмалхэмк1э пэуврэМадинэ?

5.Сыт абы хузэф1эк1ар?

6. Мадинэ и образыр сыт щ1элъап1эр?

Егъ: Дауэ   иухрэ  поэмэр?

Едж:Мадинэ   Пылыжь  Джэрий док1уэ. Ар насыпыншэмэхъу. И къуэ закъуэр ц1ыхубз уэчыл  хъуну  щогугъу. Мадинэ апхуэдэ гъащ1эмк1э арэзыкъым. Ар зэныкъуэкъужурэ  сымаджэ   мэхъури мал1э.

Егъ:Мадинэ зыхэпсэук1а зэманыр игъащ1эм сытк1э зэранхуъхъуа?

Едж: Вывод.  Феодализмэр  трахыжа щхьэк1э къэмынэу, а зэманым псори зи 1эмыщ1э илъу щытахэр мылъку зыбгъэдэлъхэмрэ къулейхэмрэт.

Егъ: Пасэ зэманым псэуа адыгэ ц1ыхубзым и хьэл-щэным рэнобэрей ц1ыхубзым и хьэл-щэнымрэ  зэщхьу п1эрэ? Зэдывгъапщэт.  Едж:Ди зэманым ц1ыхубзыр щхьэхуит  хъуащ, я пcэук1эри нэхътынш  хъуащ.

Егъ:Фэ  зыхэфлъхьа ,вгъэхьэзыра планхэм фыкъытхуеджэ. Сэ фхуэзгъэхьэзыра планым едывгъэлъытыт. Сыт хуэдэ  гупсысэхэм, гукъэк1хэм дыхуишэрэ Щоджэнц1ык1у Алийи «Мадинэ» поэмэм?

Едж.къоджэр.

IV.Урокым и 1ыхьэ нэхъыщхьэр. Тест лэжьыгъэ

10. Слайдк1э къэпщытэн

1.б

2.а

3.б

4.в

5.б

6.в, г, д

7. а, в, г

8.б, в

9. а

10. б

Тест лэжьыгъэ

1.Щоджэнц1ык1у Алий  къалъхуащ:

А.1975 гъ.

Б.1900 гъ.

В.1908 гъ.

2.Щоджэнц1ык1у Алий:

А. Усак1уэщ.

Б. Драматургщ.

В. Артистщ.

3.Щоджэнц1ык1уАлийи «Мадинэ» тхыгъэр:

А. Романщ.

Б. Поэмэщ.

С. Рассказщ.

4. «Мадинэ  тхыгъэм усак1уэм къыщигъэлъэгъуэжар:

А. Дызэрыт  зэманырщ.

Б. Хэку  зауэшхуэм и зэманырщ.

В. Къэбэрдейр  феодальнэ псэук1эм щимытыжа  лъэхъэнэрщ.

5.Щоджэнц1ык1у   Алийи «Мадинэ»тхыгъэм   къыщыгъэлъэгъуар:

А. Пасэ  зэманым ц1ыхубзхэр щхьэхуиту   зэрыщытар.

Б. Пасэ  зэманым   адыгэ  ц1ыхубзыр гугъу  ехьу, пщыл1ып1эр  трахыжа  нэужьи я щхьэ   хуимыту    зэрыщытар.

6.Гурымыхь   образхэр:

А.Умар.

Б.Заур.

В.Пылыжь  Джэрий.

Г.Къасым.

Д.Молэ.

7.Гурыхь   образхэр:

А.Мадинэ.

Б.Пылыжь  Джэрий.

В. Дадусэ.

Г. Заур.

Д. Щ1алэ ц1ык1ур.

8.Хэт  сымэ   Мадинэ и насыпым  зэран   хуэхъуар?

А.Дадусэ.

Б.Къасым.

В.Пылыжь  Джэрий.

9.Сыт къызыхэк1ар Умар ф1ы дыдэу   илъагъу и пхъур абы ф1ыуэ илъагъуа щ1алэр къигъанэу нэгъуэщ1ым иритыныр?

А. Абы къыщыхъурт и пхъур  мылъкум   хэсмэ, и 1уэхур нэхъ дэк1ыну.

Б. Тхьэмыщк1эм и пхъур иритмэ, абы къыф1эщ1ырт Мадинэнасыпыншэ хъуну.

10.Мадинэ  игъащ1эмк1э  арэзы?

А.  Арэзыщ.

Б. Бэнэныгъэр   къигъанэркъым, ар   зэныкъуэкъужурэ,  узыфэ  бзаджэр  къыпкърохьэри   мал1э.

11-слайдыр  къэгъэлъэгъуэн.Сочиненэм  и  план.

1. Адыгэ  ц1ыхубзым  ехьэл1а  хьэл-щэнхэр.

2. Мадинэ  и  образым  ахэр   зэрепхар.

3. Гъащ1эм щек1уэк1 залымыгъэм  адыгэ ц1ыхубзыр зэрыпэувыр Щоджэнц1ык1ум къызэригъэлъэгъуар.

4.Гъащ1эм и щхьэгъэщхь         зыхуищ1ыным      ,адыгэ ц1ыхубзым и образым  зыужьыныгъэ   ирет. Ар хабзэ мыхъумыщ1эм и щхьэузыхьщ.

5.Сыт хуэдэ зэман  хэмыпсэухьами  адыгэ ц1ыхубым хэлъын хуей хьэл-щэн   нэхъыщхьэхэр.

12-слайдыр  къэгъэлъэгъуэн. Сочиненэм и къыщ1эдзап1эхэр.

1. Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэ нэхъыф1хэм ящыщщ…

2.Адыгэ ц1ыхубз! Сыту пщ1эшхуэ уи1э, сыту тхак1уэ куэд  птетхыхьа, сыту тхыдэ  хьэлэмэти уи1э…  …»Динэ и псалъэхэм…

Сочиненэм и 1ыхьэ нэхъыщхьэ.

  1. Мадинэ и теплъэр.
  2. Мадинэ и хьэл-щэныр.
  3. Мадинэ и анэм  зэрыхущытыр.
  4. Мадинэрэ   Зауррэ я зэхущытык1эр.
  5. Мадинэ и насыпым   зэран   хуэхъухэр: Пылыжь Джэрий, Къасым.

Егъ:Сочиненэм и к1эухри зэмыл1эужьыгъуэщ.

1.Мадинэ  поэмэм  сигу къигъэк1  гупсысэхэр…

2.Сэ  мытемэр   къыщ1ыхэсхар…

Егъ.: Эпиграф вгъэхьэзырахэм    фыкъытхуеджэ. (Эпиграфхэмкърегъаджэ). [4:174]

1.Ф1ыгъуэм щыгугъыу дыгъэнэбзийр, унэ бы1уэбышэм дахэр щыгъагъэт. Гъагъэу  щыт  пэтми и гъащ1эр хьэлъэт…

УэхъутэАбдулыхь.

2.Ди щ1алэгъуалэм фщыремыгъупщэ:черкесс унагъуэм  пщащэ къихъуэным, унэм кърихьэр гу1эгъуэ инт, я адэ-анэм къуэяф1эл1амэ,  гу1эгъуэу къихьым  хуэдизу   хьэлъэт.

УэхъутэАбдулыхь.

3.Дэнэ ар,адыгэ ц1ыхубзыр, щыхуеджэр,сыт абы и гупсысэмзызыдиужьыр? Зыщ1ып1и щеджэркъым ар.

Абы и дунейр дыщэ 1уданэк1э хидык1 тхыпхъэщ1ыпхъэм деж щеух:и пщэдейхэм адэри  анэри егупсысыркъым

Уэхъутэ   Абдулыхь.

Егъ.: Сочиненэр щыфтхк1э чэнджэщхэр  зыщывмыгъэгъупщэ.

13- слайдыр  къэгъэлъэгъуэн. Чэнджэщхэр.

2.Щыптхк1э щ1эх-щ1эхыурэ къэпщытэжын хуейщ: мык1уэдауэ п1эрэ темэр, къыхэщу п1эрэ гупсысэ нэхъыщхьэр, псори пхузэф1эк1ауэ   п1эрэ   гупсысэр  гунэс пщ1ыну?

Сочиненэ   тхыныр  теоремэр  ди ф1эщ пщ1ым ещхьщ.

3. Зыри умыгъэк1эщ1, скобкэхэр  къэгъэсэбэп, «хъэт1ыр щыдахэр къыщеджэгъуаф1эрщ».

V.Темэр егъэбыдыл1эн .Гупк1эрэ сочиненэм и пкъыгъуэхэм елэжьа  сабийхэм я лэжьыгъэр  къэпщытэжын

Планыр  зэрыт  слайдыр  къэгъэлъэгъуэжын.

VI. Урокыр къызыщ1экъуэжын

14-слайдыр къэгъэлъэгъуэн.

Сочиненэм  унэм  щелэжьыжын.

VII.Унэлэ  жьыгъэр  етын

Сочиненэр  нэгъэсыжын, елэжьыжын.

Егъ: Урокым хъарзынэу зыхуэвгъэхьэзыращ, презентацэ зыщ1ахэмрэ, къэхутэныгъэ  лэжьыгъэ  зыгъэхьэзырахэмрэ, сурэтхэмелэжьахэмрэ, сочиненэм и пкъыгъуэхэм  елэжьахэмрэ,  «тху» фхузогъэув. Адрейхэри хъарзынэу лэжьахэщ. Тест лэжьыгъэр зыгъэзэщ1эфахэм «пл1ы» фхузогъэув.   Щыуагъэ хэзыщ1ыхьахэм: Токъу Амиррэ  Дзэгъащтэ  Азэмэтрэ  «щы» фхузогъэув.  Урок къак1уэ ехъул1эныгъэ фи1эну псоми сынывохъуэхъу! Урокыр  иухащ. Узыншэу  фыщыт!

Выводы

На мой взгляд, урок удался. Успешному усвоению темы урока способствовало использование технических средств: (проектора, компьютера, художественно-изобразительных средств, презентации) которую сделали дети сами.

На уроке мне удалось реализовать поставленные цели и задачи. На следующем уроке продолжу работу со слабыми учащимися. Атмосфера на уроке доброжелательная, спокойная. Стараюсь общаться с детьми на уровне сотрудничества. Общение с учащимися на уровне сотрудничество даёт положительные результаты, так как ребёнок чувствует в таком общении уважительное отношение к нему как к личности.

Спасибо за внимание к моей работе.

Литературэ:

  1. « Къэбэрдей-Балъкъэрым и  композиторхэр »,Б. Темрокъуэ, нап. 8.
  2. « Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщ1хэр »,Ю. Балъкъэр, нап. 16.
  3. Журнал « 1уащхьэмахуэ »,  2014-гъэ,нап. 23.
  4. «Хужьэ и къуэладжэ», А. Уэхъутэ,  нап. 174.

Похожие вопросы:

Иконка предмета

Русский язык, 27.02.2019 17:10

Сочинение если прийти в библиотеку ночью или просто внимательно прислушаться можно услышать много интересного что именно как думаете ? напишите об этом сказку или рассказ

Ответов: 2

Иконка предмета

Русский язык, 01.03.2019 14:50

Сочинение миниатюра на тему: оттепель. !

Ответов: 3

Иконка предмета

Русский язык, 02.03.2019 13:30

Постройте сложные предложения из двух простых, связав второе предложение с первым союзами и а но. 1) с_брались в поход. дожди пом_шали.2) с_брались в поход. дожди им (не)пом_шали.3)в полях снег тает. в лесу он ещё лежитнетронутый.4)в полях снег растаял. в лесу он нач_л уже оседать.5)солнце уже спряталось за в_рхушки деревьев. было всё ещё светло.6)солнце ещё (не)поднялось. восток уже посв_тлел, за_лел.7)нал_тел ветер. пламя костра затр_петало.8)нал_тел ветер. пламя костра (не)потухло.

Ответов: 2

Иконка предмета

Русский язык, 02.03.2019 16:00

Звуко буквенный анализ слова еловые

Ответов: 3

У тебя есть свой ответ?

написать сочинение на кабардинском — Къамботрэ Лацэрэ….

Вопросы по другим предметам:

Категория

География, 09.08.2019 08:10

Категория

Английский язык, 09.08.2019 08:10

Категория

Биология, 09.08.2019 08:10

Категория

Алгебра, 09.08.2019 08:10

Категория

Математика, 09.08.2019 08:10

Категория

Биология, 09.08.2019 08:10

Категория

География, 09.08.2019 08:10

Категория

Категория

Биология, 09.08.2019 08:10

Категория

Математика, 09.08.2019 08:10

Категория

Литература, 09.08.2019 08:10

Категория

Алгебра, 09.08.2019 08:10

Категория

Математика, 09.08.2019 08:10

Категория

Математика, 09.08.2019 08:10

Категория

Русский язык, 09.08.2019 08:10

Категория

Математика, 09.08.2019 08:10

Категория

Математика, 09.08.2019 08:10

Категория

Математика, 09.08.2019 08:10

Категория

География, 09.08.2019 08:10

Категория

Геометрия, 09.08.2019 08:10

КЪАМБОТРЭ ЛАЦЭРЭ

             (Роман)

        Хэзыгъэгъуазэ

Нобэ хуэдэу адыгэкъуэр
Пшэм пхылъэту щытыгъакъым,
Къимыгъазэу щӀыри хыри
ЗэпиупщӀу ар къэсакъым.
УафэхъуэпскӀи нэху хишакъым,
Псышхуэ Ӏэли игъэсакъым,
Къуэш фӀэхъуси уафэ джабэм
Бгъэшым тесу къыщитакъым.
Абы ищӀакъым пщым я джатэу
Лъэпкъ гъэкӀуэдыр фӀадзэжыну,
УнэӀутхэр чо хухьахэм
КъыдэкӀыфхэу зэплъыжыну.
Нобэ и быну хыр зи Ӏэпэм
Къыдэджэгур ущыӀакъым.
Къызбруным цӀыхухэр пхауэ
Щырадзыхыуи уэ плъэгъуакъым.
ТӀуащӀэ бэву ущагъафӀэм,
ПщӀэркъым, фӀыгъуэ илъыгъакъым,
Къэзылъхуахэм япӀыжыфуи
Абы бын куэд къитэджакъым.
А тхьэмыщкӀэм ятелъахэр
Хэку уэжахэм къысхуаӀуатэ,
Я Ӏуащхьэкхъэу къагъэнахэм
Ныбжьу тесхэу къысфӀагъэщӀхэ.
ЩӀым бэлыхьу щашэчахэм
Ахэр псори я дамыгъэщ,
Ӏуащхьэ нэзхэм щӀытӀ бгырыпхыу
КъешэкӀахэр я лъы жапӀэщ.

А ныбжь гуауэу си нэгу щӀыхьэр
Тхыдэ фӀыцӀэу къагъэнахэрщ,
Я кхъэр Ӏуащхьэу щӀэбэгари
Я гум бампӀэу дагъэхуахэрщ.
Уэ уи лъэпкъыр зыхуитыжу
Зы лъэхъэни щалъэгъуакъым,
ЦIыху хьэлэлхэм, нобэ мыхъуми,
Я унафэ ящӀыжакъым.
Ягъэ кӀынкъым, гъащӀэ дахэм
Хэку бгынахэр къыретӀыж.
Жыжьэу щытми, ди дадэжьхэм
КъащыщӀахэр иреджыж.
Мисыр, нобэ пщащэ гуэрыр
Сэ си пащхьэм щотэджыж,
И гукъеуэр бзэншэу ныбжьым
Мес си пащхьэм щеӀуэтэж.
КъызолъэӀур а тхьэмыщкӀэм
И бэлыхьхэр бжесӀэжыну
Жан и дежым унэӀутым,
Щылъысахэр пхуэстхыжыну.

                      I

Пасэм щыгъуэ уи дадэжьхэр
Пщы жыхафэм щытетам,
УнэӀутхэр гуащэ пащхьэм
Къыщегъыхыу щыпсэуам,,
Ди хэку дахэм и псы уэрхэм .
Лъыр хэлъадэу щыутхъуам,
Тэтэр хъанхэр щӀыпӀэ псомкӀи
Хэкум къеӀэу щыхуежьам —
Бахъсэн Ӏуфэм пщы и пщыжу
Махъэшокъуэр Ӏусыгъащ,
И хъыжьагъэр Индыл щӀыбым
ЩигъэӀунуи игу илъащ.
А пщы ябгэр шым еуамэ,
Дунейр щӀопщкӀэ шынэ фӀэщӀт,
Шы лъэмакъкӀэ унэм щӀэсхэр.
«Тэджынщ» жиӀэу зигъэинт.
И пащӀитӀыр ӀэмыщӀизу
ТӀыбжьэу жьакӀэм хэкӀэжат,
Жыпхъэ зэвым щагъэжауэ
И пкъыр афэм ихузат. .
Къашыргъэпэу напщӀэ уфэм
Фочыр и плӀэм щедзыхащ,
И сэшхуэжьыр ныбжьэгъу пэжщи,
Дэнэ кӀуэми ибгъу ищӀащ.

                 ***

Къызбруным и мэз Ӏувхэр
Абы и махуэм уафэ хуэплъэт,
А бгы лъапэм щыпсэу жылэм
Я псэуалъэр пщыӀэ щӀыкӀэт.
ПщылӀхэм щэхуу я уэрэдхэр
Гъыбзэм, гуӀэм хузэрашэрт,
Пщы шу Ӏэлхэр ялъагъухукӀэ,
ЩӀым ба хуащӀхэу, щхьэщэ ящӀхэрт.-
Ахэм лӀыгъэ ящӀэпами
Пщым я щытхъум хэкӀуэдэжырт,
Жан къахэкӀхэр уэрэдыншэу,
Макъ хуамыӀэу ужьыхыжырт.
А лъэхъэнэм пщы лэгъунэр
Тэхъуэнащхьэт, гущхьэ плъыфэт,
Афэ гъуапэу, пыӀэ шопсхэр
Къафэ щыхъукӀэ я щхьэр щӀэуэрт.
Я унащхьэр уэрдыхъу ныкъуэу
Мэкъу ӀуэнтӀакӀэ зэщӀэпхат,
Нэху дэдзыпӀэу я щхьэгъубжэр
ЛӀыжь нэгъуджэу пхыгъэмбат.
ЯтӀэ лъэгуу унэ щӀыфэр
Мылу джыджэу гъэхулӀат,
Я плӀанэпэм и жыхапхъэу
УнэӀутыр щыгъэжат.
ЖьантӀэм уеплъмэ, пхъэ гъуэлъыпӀэм
Тхыпхъэр уагъэу хэщӀыхьащ,
Щхьэнтэ пщахэр, пӀырыпӀ щӀыкӀэу,
ДариихукӀэ щӀэгъэнащ.
Махъэшокъуэм и гуащэхум
А пӀэ хуитым зыщегъафӀэ,
Пщым и фӀыцӀэ жызымыӀэм
Гуащэ Ӏэгур хуегъэдалъэ.
Унэ блынхэр тхыпхъэщӀыпхъэу
АлэрыбгъукӀэ яхуэпащ,
Дыщэ фащэм, нэр тепщӀыпщӀэу,
ЖьантӀэ блыныр щӀигъэнащ.
АтӀэ, пщӀэрэ, мис а унэм
Пщащэ гуэрыр щосэбауэ,
«Ӏэуэлъауэ сщӀырэ?» — жиӀэу
ЩтэӀэщтаблэу щохуэразэ.
Гуащэнысэм зигъэхъеймэ,
УнэӀутым и гур мауэ,
Псалъэ гуауэ зэхимыхмэ,
И нэкIухухэм лъы къыщӀохьэ.
Гуащэ нэщхъыр зэлъыӀукӀмэ,
ПщылӀ ӀукӀауэ зелъытэж,
Пщы бжэщхьэӀум тету щытми,
Уэха и гум псэ хохьэж.
Гуащэ нэщхъым пшэ темылъмэ,
Лацэ дежкӀэ псори махуэщ,
Шухэр мину къепсыхамэ,
ХьэщӀэщ гъуэгур — зы лъэбакъуэщ.
ХьэщӀэщ кӀыхьыр, ду щхьэ плъыфэу,
ПщӀантӀэм жыжьэу щехьэжьащ,
Зихузыжу унэӀутыр
И жыхафэм щыгъэжащ.

         * * *

Щыхьыбжьэжьу шы фӀэдзапӀэр
Жыжьэу пщӀантӀэм щыхэтӀащ,
Хьэжьэражьэу шагъдиижьхэр
Абы ӀипщӀкӀэ иубыдащ.
Махъэшокъуэм махуэ къэси
Шухэр гупхэу къыхуопсых,
Пщы Ӏэл пщӀантӀэм Ӏэнэ пшэрхэр
ПщылӀхэм пӀащӀэу щызэблах.
ХьэщӀэщ жьантӀэм шэнтжьей лъахъшэм
ХьэщӀэ гупхэр къыщохъуахъуэ,
Тэтэр хъанхэм я дзэ Ӏувхэр
Гъэр къащӀыну тхьэ зэхуаӀуэ.
Махъэшокъуэу къудан гъурыр
Кърым хъанхэм нахуошхыдэ,
Къалэ быдэу Хъансэрейри
ХъунщӀэн хуейуэ быдэу жеӀэ.
Къашыргъэпэу пщы гъур ябгэр
Ибг илъ сэшхуэм нытоуӀуэ,
Къурей Ӏуащхьэ Алтуд хъаным
Щезэуауэ егъэбатэ.
Фадэ пӀащӀэм чэф ищӀащи
Пщыжьхэр пшынэм добзэрабзэ,
Гъуазэу яӀэр я сэшхуэжьщи
ХуеплъэкӀыжхэу Ӏэ ныдалъэ.

                 * * *

Мис а махуэм къэбэрдейхэм
Санэхуафэр зэӀуахат,
Пелуанхэр япщхэм щӀыгъухэу
Пэужь лъапэм къекӀуэлӀат.
Махъэшокъуэр бжьэ ефэхукӀэ,
Бейгуэл псоми щытхъу ягъэшырт,
Хэкум бийхэр къеуэ хъумэ,
Ар шу миным текӀуэу жаӀэрт,
Джатэ кӀэщӀыр къырихамэ,
ХъуаскӀэр пихуу яӀуэтэжырт.
Абы и хьэщӀэщ Жан и дэлъхуу
И щыкъу щауэ Аслъэнокъуэ.
ХьэщӀэ псоми хуамыгъадэу
ЩӀыхь ин хуащIу ар ягъафӀэр.
А щыкъу щауэм малъхъэ пщӀантӀэм
Хэгъэрейуэ зыщебжыжыр,
Жан и дэлъхущи, ар лэгъунэм
ЩӀыхьэрейми къекӀу фӀощӀыжыр.
Жан епсалъэу ар лэгъунэм
ЗыдыщӀэсым Лацэ щӀохьэ,
Щхьэр и бгъафэм хуришэхыу,
УкӀытащи, къызэщӀоплъэ.
И бгы псыгъуэр, умылъагъуу,
Щхьэц щӀакӀуэшхуэм ныщӀиуфэт,
Балий хъугъэ зыхидзауэ,
НэкӀухэм занщӀэу лъы щӀэувэт.
ПӀырыпӀ щӀыкӀэу бгъэ щхьэнтитӀым
Бостей щӀыӀур хузэпокъур,
Ужьэ хуэдэ, а пщэху дахэм
ХьэщӀэ пащхьэм зыщехузыр.
Жан и дэлъхуу Аслъэнокъуэм
Щэху гуэр и гум къыхолъадэ.
Пщащэ цӀыкӀум и къабзагъэм,
Хуимытыжу, ар епхъуатэ.
Дахэу щытми, унэӀуткъэ,
Жан елъэӀумэ, къыритынщ,
Саугъэту и щхьэгъусэм
Ар ныхуихьмэ, нэмыс хъунщ.
Аслъэнокъуэр, абы хэту,
Ешхэ-ефэм хыхьэжащ,
ЖаникӀ пщащэр иритыну
ГурыӀуакӀэщ — Ӏуэхур хъуащ.
Ауэ Лацэм хуамурадыр
Ауи гугъэ ищӀыххакъым,
Ар къыщӀашэу хьэщӀэ пащхьэм
ЩӀагъэувами гу лъитакъым.
Зы пкъы закъуэщ абы и нэгум
Ныбжьым хуэдэу къыщӀэджагуэр,
Жейуэ щытми, къебзэрабзэу
ЗыгъэгуфIэу къыхуэхьэщIэр.
Ауэ дахэу унэӀутыр —
Гуащэ пагэм и жыхапхъэщ,
Хъыданыжьхэр зи щыгъыныр
Ныбжьым хуэдэу и дэкӀуашэщ.
ЗекӀуэ кӀуэрэ пщыр къэкӀуэжмэ, .
Вакъэ-лъейхэм я фэӀуадзэщ,
Гуащэм бадзэ тетӀысхьарэ
Къедзэкъами абы ягъэщ.
Ӏуэхум мащӀэу къыдэхуамэ,
ДакъэхэкӀым щогупсысэ,
Зиусхьэнхэм я губгъэным
Сыхьэт къэскӀи хуокӀэкуакуэ.
Набдзэ фӀыцӀэу а нэкӀухур
А лъэхъэнэм хогупсысэ,
ПсэукӀейуэ абы иӀэм
«Ӏыхьхэр» щэхуу хузэрешэ.
УнэӀуту Лацэ щытми,
ЦӀыху и хабзэр щинэфынкъым —
Пщы унафэр ткӀийуэ щыткӀи,
Дуней щэным текӀыфынкъым.
И ишэгъуэ нэблэгъащи,
Гъусэ ищӀынум джэрш хуредзэ,
Унэ ихьэным гу хуищӀащи,
Пщы унафэм пӀащӀэу поплъэ.
Сыт ищӀэнур? Дахэ шырыр
Жан хьэпшыпу илъытащ…
Саугъэту жагъуэлӀ гуэрым
Ирамытмэ, ехъулӀащ.
Хуитыгъамэ, пщащэ цӀыкӀур
Къамбот псэгъуу дэкӀуэсэнут,
Бэлыхь телъхэр хуиӀуэтэжу,
Мыжеижу дыхэлъынут.
ИлъэситӀым нэблэгъащи
Къамбот щэхуу зыхуегъафӀэ,
Лъагъуныгъэр ямыгъэӀуу,
Щэху защӀыжу зобзэрабзэ.
Захъумэну жэщ уэм кӀыфӀхэм
Гуэщ блын къуагъхэм щоӀущащэ.
Пщым иукӀми зэрышэнхэу
Псалъэ быдэ зэжыраӀэ.

                ***

Пщыхэм ефэр ямыухыу,
Дыгъэр щхьэгум къиуващ,
Санэхуафэр зэпэщащи,
Ахэр къожьэр — езэшащ.
Фоч гъэуэкӀэм, лӀыгъэ-шыгъэм
Ямыухыу топсэлъыхь,
Фадэ пӀащӀэр къыщхьэщыпкӀыу
Бжьакъуэжьейхэр зэӀэпах.
ПыӀэ шопсу, хьэзырыбгъэу
Хэплъэу жьантӀэм зы лӀыжь дэсщ,
ШыкӀэ пшынэр игъэпсауэ
Макъ имыӀэу ибгъукIэ щылъщ.
ХабзэщӀэкъум и щхьэр, и пкъыр
ЗэфӀэмыуэу зегъэзадэ,
И Ӏэр жьакӀэм ныделъэжри
Гупым хоплъэ, моуэ жеӀэ:
«Аушыджэрыр къыфхуэхъуахъуи;
Фэ фыщӀалэщ — Ӏуэхур фщӀэркъым —
Нэхущ вагъуэр къыщыщӀэкӀым
ЛӀыгъэ фщохъур фыкъэушым!
ЛъэпкъкӀэ пщыуэ сыщымытми,
Си хэку схъумэу сыкъэсащ,
Тхьэм и махуэу зэхыхьэшхуэр
Шурэ лъэскӀэ сэ сӀэтащ.
Фынэтэджхи санэхуафэм
Афэ джанэр псыф къыщыфщӀ…
Пшэм хэщӀауэ нып щӀэращӀэм
Хьэуам пщӀэншэу зыныхуещӀ!»
ЛӀыжь усакӀуэу напщӀэ кӀырыр
Пщыхэм ябгъукӀэ къыщопсалъэ,
И гулъытэр санэхуафэм
Щыджэгу цӀыхухэм ярегъапщэ.

                ***

Мис а махуэм Къызбруным
И лъэгу щхъуантӀэр яхуэпат,
Нып пшэрыту уэгум щыфэр
Я нэщанэу къыщӀадзат.
КъэкӀагъащӀэу пащӀэ фӀыцӀэр
Плъагъу къудейуэ щӀалэ гуэр
Бгъэгу Ӏухарэ уардэу, пкъыфӀэу
Ныпым еуэрт — Ӏэзэ гуэрт.
Ар Къамботти Аслъэнокъуэр
Зэгуэпауэ нэбгъукӀэ еплъырт,
Зи гупсысэр маисащхъуэу
ЛӀыжьри абы ныкӀэлъыплъырт:
«Мис апхуэдэщ адыгэлӀу
Усэ, хъуэхъукӀэ зыхуэгуапэр,
Шу пэрыту, бийм ятекӀуэу
УсакӀуэбзэр щӀэбзэрабзэр!»
Къамбот ныпым мастэ фӀэлъыр
И зэ уэгъуэм къыпиудырт,
Мэлъхъэдису и щӀакӀуэкӀэм
ЩӀым нэмысуи къиубыдыжырт.

                  ***

Мис а щӀыпӀэм и лъэгу щхъуантӀэр
Щолэхъу жэрхэм къырауд,
Дунейр пшынэм зэщӀищтащи
ЯбгъукӀи Бахъсэн мэдымыж.                         
Абы хэту къашыргъэпэу
Пщы гъур ябгэр къэпсэлъащ;                        
Аслъэнокъуэр нып еуэну                               
Утыку иным къришащ.
А сыхьэтым а пщы хьэщӀэм
Пшынэ, Ӏэгухэр хуэувыӀащ.                                                                          
«Дыщэ чысэм еуэ!» — жари                                                                          
Пщащэу щытхэр къэлъэӀуащ.
Абы и шэм, чысэр мыхъуу,
Кхъуей плъыжь быдэм зыхидзащ,
Мис Къамботи, зимыгъэӀуу,
ИкъукӀэ гуапэ къыщыхъуащ.
Лацэ жыжьэу зыдэщытым
Нэ фӀыцӀитӀыр къыфӀогуфӀэ,
ФӀыуэ илъагъуу и Къамботым
И гур уэуэ къыхуохъуахъуэ.
Жан и къуащӀэр ӀитӀкӀэ иӀыгъыу
Ар Къамботым къыхуеплъэкӀырт,—
БостеикӀэр щыгъупщауэ
Абы нэкӀэ къебзэрабзэрт.
Мис а плъэкӀэм гу лъитащи,
Аслъэнокъуэр яхуоплъэкӀ:
«Дахэр нэкӀэ зыхуэгуапэр
Хэту пӀэрэ?» — игу зокӀуэкӀ.                                                                          
Ар мукӀытэу щытыгъамэ,
Лацэм наӀуэу нылъыхъунт,
И щхьэгъусэу лъэпкъкӀэ хуэдэм
Нобэ тӀуанэу тырищӀэнт.                                                                          
Ауэ дауэ унэӀутыр                                                                                                   
Зиусхьэным къишэ хъун,
ТIуанэ дыдэу ишэу щытми,
Дауи лъэпкъым къезэгъын?

                 ***

Санэхуафэм зиӀэтащи
Шагъдий жэрхэр ягъэунэху,
Шыр зыдэжэм, кӀэрымыткӀуу,
Санэхубжьэ зэӀэпах.
Лъапэ щхъуантӀэм и кӀыхьагъкӀэ
Уджыр дэкӀуэу наублащ,
Псы хуэм къазхэу пщащэ хужьхэр
Хэт уджыфми иубыдащ.
Лацэ Къамбот и Ӏэпэгъущи
Пщым и макъыр ящогъупщэ,
Щабэ цӀыкӀуу, мыӀупщӀыщэу
Дахэр Къамбот къоӀущащэ.
НыбжьыщӀитӀым лӀыжь усакӀуэр
Псалъэ хъуэркӀэ йонэӀуахуэ,
Зэхуэфащэу зэрыщтыр
ШыкӀэ пшынэм щегъэнаӀуэ.
Джэгум ибгъукӀэ ар здэщытым
Махъэшокъуэр къыбгъэдэтт,
Зы жимыӀэу, щӀым еплъыхыу
Аслъэнокъуэр я кум дэтт.
НэфӀэгуфӀэу а усакӀуэм
Махъэшокъуэм зыхуегъазэ:
«Зэрыгъашэ мы цӀыкӀуитӀыр,
Зэхуэфащэщ»,— ныжыреӀэ.
Ар фӀэфӀ хъуакъым Махъэшокъуэм,
И гурылъыр къызэщӀонэ,
Жан имыщӀэу щӀасэу пщащэр
Иубыдыным ар ныпоплъэ.
Пщым и нэщхъыр жэуап щыхъум,
ЛӀыжь усакӀуэр сабыращ, ;
ПщитӀыр пщащэм зэрещакӀуэр
Абы фӀыуи гурыӀуащ.

             ***

Мэгупсысэр уэрэд усыр:
«Сыт си усэр щӀэмыгъыбзэр,
Джатэрыбзэм я бэлыхьым

Си пшыналъэр щӀыщышынэр?
Сэ си пэжым джатэ щӀагъым
Щхьэщэ щищӀмэ, емыкӀу хъункъэ,
Сыкъэрабгъэу Къамбот сымэ
СадэмыщӀми Лъэпщ губжьынкъэ.
Аушыджэрыр си щыхьэту
Къамбот псалъэ сэ естащ,
Лъагъуныгъэм лъытэныгъэ
ХуэзымыщӀми сигу щыкӀащ!»
Нэщхъейрилэу а усакӀуэр
Нэхъри фагъуэу зэхэуащ,
НыбжьыщӀитӀым я насыпым
Ар ныпоплъэр… игу къутащ.
Мис а махуэу зэхыхьэшхуэм
Щэхэм Лацэр я нэплъапӀэщ,
Абы нэкӀи енэӀуахуэр
Махъэшокъуэм и жагъуащӀэщ.
Ауэ ещӀэр и щыкъу щауэм
И гум щэхуу ирилъхьар:
Пшэрыхь папщӀэу унэӀутыр
Гуащэм тыгъэ зэрищӀар.
Сыт ищӀэну? И щыкъу щауэм
Ар нэрыгъыу иубыдащ,
Дахэр нобэ ныӀэщӀэкӀии
Ӏэмал иӀэ? — пщы къилъхуащ.
Дауэ хъуну? И щыкъу щауэм
Ар шыпхъу тыгъэ Жан хуищӀащ;
ХабзэмыщӀэщ хужаӀэнкъэ —
Ӏуэхур псори яухащ.

                    ***

А зэманым цӀыху насыпыр
Сэшхуэм и дзэм Ӏулъыгъащ,
ЦIыхугъ нэпсыр нэхъыбэхукӀэ,
ТекӀуэр пагэу щытыгъащ.
АтӀэ нобэ а цӀыхубзым
Нэпс щӀигъэжкӀэ хэт дэщӀынур?
Аслъэнокъуэм тыгъэ хуащӀкӀи
Сыт нэмысу дилъагъунур?..

Дахэ цӀыкӀур къыдишащи
Ар пщы хьэщӀэм къегъэуджыр,
Джэгуэн ищӀу унэӀутым
Псалъэ хъуэркӀэ догушыӀэр.
Бэр щагъэшу лъапэ щхъуантӀэм
Тхьэшхуэуджыр ныщокӀуэкӀ,
Тхьэ нэмыскӀэ пщыи пщылӀи —
Нобэ псори зэдокӀуэкӀ.
ЛӀыжь усакӀуэр нобэ хуитщи
ЖиӀэ «псори» хуагъэгъунущ,
ФӀэмызахуэ и нэм Ӏуидзэм,
И пшынэбзэр хущӀэджэнущ.
Зэпхелыгъур абы нобэ
Аслъэнокъуэм и мурадыр,
Ӏэдэу псалъэр япхидзыну
Ар утыкум къыщоувыр:
«Дахэ лъагъуныгъэр ӀэрыщӀкъым,
Уи пщӀэр зымыцӀыхури ныбжьэгъукъым,
Псатхьэр Пэужь лъагэм щогусэ,
Уэри, зиусхьэныр, ущоуэ.
Мы сэ си пшыналъэм едаӀуэ:
Сыт гъатхэ накъыгъэр щӀэпхулыр,
Благъэ пхуэмыхъунми зыщӀебдзыр?
Ар гъуэгу напщӀэ удзу пумычыт,
И хъугъуэ нэсами къэгъанэт,
Ар зыхуэфэщэнуми гу лъытэт!
Псатхьэр игъэжейркъым си пшынэм,
Уафэм зыщӀигъакъуэркъым си
                                          лъакъуэм…»

Аслъэнокъуэр а сыхьэтым
Шэхум хуэдэу фагъуэ хъуащ,
«ЕмыкӀущ»,— жиӀэу зишыӀами,
ЛӀыжьым занщӀэу игу хуэплъащ.
Абы хэту, уардэм хуэдэу,
ЩӀалэ гуэрым зегъэлъагъуэ,
Губгъуэ уджыр абы и псалъэм
А сыхьэтым дагъэувыӀэ.
«ЕмыкӀущ… пщыхэр ди фызщӀэгъукъым.
Ара жылэм нэмыс хуэфщӀыр? —
Сэ си гъащӀэр лъапӀэу щыткъым…

Хэт и Ӏэщэ нэхъ мудзэгур?»
Мис арыххэу Махъэшокъуэм
Хьэсанш тыншу гу лъитащ,
Щытхэр псори зэхуэсыжри
ХъуреягъкӀэ къэуващ.
ЯгъэщӀагъуэр: «Дауэ хъууэ
Хьэсанш нобэ къэкӀуэжа?
Жыгей мэзыр зи унапӀэр
Щхьэ пщы ябгэм къекIуэлӀа?»
Техьэгъуафэ Махъэшокъуэр
Аслъэнокъуэм йоӀущащэ,
ПщылӀ «Ӏэл» хъууэ ӀэщӀэкӀами
И хъыбарыр ныхуеӀуатэ.
Санэхуафэм щыӀэ цӀыхухэр
Псори Хьэсанш къепщӀэкӀащ.
«Шу мин Ӏэджэм ар пэуву»
Хъыбар жаӀэр я фӀэщ хъуащ.
Мэгупсысэ Махъэшокъуэр:
И бийм жылэр хуэгуфӀащ.
Илъэс Ӏэджэ нэблэгъащи
И бэлыхьыр иужэгъуащ.
Дауэ хъууэ къулъкъашхъэныр
Зимущэхуу къэкӀуэжа,
Жылэм «бэлыхь къыдэзылъхьэр»
Санэхуафэм къахыхьа?
Ӏэмалыншэщ, Махъэшокъуэм
ЛӀыжь усакӀуэр зырешалӀэ,
ЛӀакъуэу иӀэр и щыхьэту
Моуэ абы ныжыреӀэ:
«Си джэгуакӀуэ, нобэ къэскӀэ
Уи нэмысыр сэ сохъумэ,
Зы ӀэмалкӀэ мы пщылӀ Ӏэлыр
ДэӀуэжыну епсэлъылӀэ.
Жылэр абы дэделэнщи
Си пщы напэр тырахынщ,
Си мыхабзэу лъыкъикӀыгъэ,
ПщӀэну щыткъым, сагъэщӀынщ.
КъырекӀуэжи пщылӀ азэту
ГъащӀэу иӀэм хуит сщӀыжынщ,
Си шу гъусэм яхэбжауэ

ЗекӀуэ къэскӀэ здесшэжьэнщ».
Ар усакӀуэм хуегъэдахэ,
Ӏуэхур фӀэфӀу ирехьэжьэр,
Мэзыжь кӀыфӀым и Хьэсаншым
ЛӀыжь гурыхуэр йопсэлъылӀэр:
«Сыту пӀэрэ, Хьэсанш, нобэ
ЛӀыжь усакӀуэм ущӀедаӀуэр,
Бланэ уещэу мэз пащтыхьу
Псэуныгъэр уэ щӀумыдэр?..
Сыту пӀэрэ пщы жыхафэм
Утетыныр къыщӀыхэпхыр,
Уэ пхуэдэлӀым щхьэщэ хуэпщӀу
Упудыныр нэхъ къыщӀэпщтэр?
Уэ Мэзытхьэм ущышынэу
Ара тафэр къыщӀыхэпхыр?
Пщыхэм я тхьи мыбы щыӀэр!
Хэту пӀэрэ уи гугъапӀэр?
АдыгэщӀыр лIыхъужьылъкӀэ
Фыгъуэгъу Ӏэщэм игъэнщӀауэ
КъыбжаӀакъэ уи дадэжьхэм?..
Сэ сошынэр нобэ уэркӀэ!» .
Гу куэд щыӀэт ар яӀуатэу…
Я бзэм псалъэ жимыӀэфу,
Захуэм джатэр хуэзыӀэтым
Ахэр занщӀэу дэтэджыну.

                 ***

Арти, нобэ мэз щӀагъ щӀэсыр
Пщым и жылэм хыхьэжащ,
Сэшхуэ жаныр и бгъум илъу
Пщы «дэкӀуашэу» къэнэжащ.
Ауэ абы, игу мунэджу,
ЗэтепӀауэ пщым дегъащӀэ,
ХьэщӀэ гупхэм щащхьэщыткӀэ
ЩӀым йоплъыхыр, мэгупсысэ.
Дауэ щытми, ящӀэр пщыхэм,
ЛъхукъуэлӀ щхьэкӀэ, лӀыгъэ иӀэщ,
ЗекӀуэ кӀуэгъуэм лӀыхъужьыгъэу
Далъэгъуакъым абы мащӀэ.

Пщыгъэр джатэм къызэрихьыр
ФӀыуэ ещӀэр Махъэшокъуэм.
«Стырихынущ си нэмысыр»,—-
ЖиӀэу йощэр ар а щӀалэм.

                ***

Гъэмахуэкущи Бахъсэн уэрыр
Ныджэ къуршым къыщохъущӀэ,
И бгъуэщӀитӀым, лӀыжь нэжьгъуцу,
Къэзмакъейхэр жьым дохуарзэ.
Къамбот щӀалэм шы игъэпскӀыу
Къуажэ гупэм зыдэщытым,
Толъкъуныжьым и псыпыхухэр
Къыриутхыу зыдыӀутым,
Банэ къуагъхэм зыкъуигъапщкӀуэу
Лацэ щэхуу къыбгъэдохьэ:
— Зиусхьэныр ежьащ,-— жиӀэу
ГуфӀэу хъыбар къырегъащӀэ.
Псалъэмакъыр Къамбот дежкӀэ
ИкъукӀэ хуабжьу гуфӀэгъуэшхуэщ.
Махъэшокъуэм и ежьэныр
А тӀум дежкӀэ хуитыныгъэщ.
Ауэ, Бахъсэн, уи псыпыхухэр
Нэхъри мывэм еудэкӀыт,
ЦӀыху зэраникӀ ныбжьыщӀитӀым,
Макъыр Ӏэти, йомыгъэкӀыт…
А сыхьэтым шы игъэпскӀыр
Банэ гуэрым нырипхащ,
Пщащэ дахэм ебзэрабзэу
ГуфӀэ-гупсэу ныпежьащ:
— «Зиусхьэныр» зекӀуэ кӀуамэ,
Ар нэмысу къыщыулӀэ,
ПщылӀ хъыджэбзхэм ехъуэпсахэм
Фыз хьэдагъэр теугъуагэ!» —
ЖиӀэу Къамбот, дыхьэшхнэпцӀу,
Игу илъ щэхур къырегъажьэ,
Гужьеяуэ Лацэ цӀыкӀур
Абы и псалъэм ныщӀоушцӀэ:
Сыт, гуӀэгъуэ, а къыупсэлъыр?
Ар емыкӀукъэ, жумыӀэххэ,
Пщыр и пщылӀым пылъыжыныр
Ауи уи жьэм къомыгъакӀуэ…
Нэщхъей дыдэу дахэ шырыр
Къамбот щӀалэм къыжьэхоплъэ,
А сыхьэтым и нэкӀуплъхэм
ТкӀуэпс пщтырхэр къытолъадэ.
Пщащэ цӀыкӀум игу еуати,
Къамбот псынщӀэу щӀегъуэжащ,
Игу зэрыгъуу зэхихахэр
Нэхъ щабэӀуэ ищӀыжащ:
— ПщӀэжу пӀэрэ, Жан и дэлъхуу
ХьэщӀэ гуэрыр къыщыкӀуам,
«ПӀэм и закъуэ хэбгъэлъынкъым»,—
ЖиӀэу гуащэр щышхыдар?..
Мис а бзаджэм уаӀихыну
Гуащэ нысэм къелъэӀуащ,—
Аслъэнокъуэрщ зи гугъу сщӀыри,
ЗэштеупӀэу къохъуэпсащ.
Ауэ ди пщым уримыту
Нобэ къэскӀэ укъегъанэ:
ТӀуанэ щэхуу уиӀыгъынут,
Ауэ гуащэм ар хуодзыхэ.—
Ахэр Лацэм щызэхихым,
ЗанщӀэу щӀылъэм зыредзых,
Дзы зимыӀэу щхьэхуимытым
Нэпсхэр бгъафэм къыфӀожэх:
— Сэ уэракъэ фӀыуэ слъагъур,
Си гугъапӀэу Къамбот тӀасэ.
Си гухэлъхэр уэ бжесӀакъэ?
Уи гъусагъэм сыхуобанэ…
Саугъэту сату щытмэ,
Ар уэ уи псэм дэхуэфыну?
Псалъэ быдэу зэжетӀахэр
Ауэ пщӀэншэу къэнэжыну?..—
Лацэ цӀыкӀум хуэмышэчу,
И гъы макъым зиӀэтащ,
Дыгъэ вэхым ихулауэ
Тхьэрыкъуэфу ар фэящ.
Абы хэту Къамбот псынщӀэу
ЩӀегъуэжауэ йокӀуэталӀэ,
Пщы плӀанэпэм щаӀыгъ пщащэм
Еубзэжу къырегъажьэ:
— Лацэ цӀыкӀуу сэ си дахэ,
Ӏуэхур лӀыгъэм щышынэнщ,
Дунеишхуэм дытехуэнкъэ?..
Сэ сщӀэфынур уэ плъагъунщ!
Псалъэ быдэ сэ уэстакъэ
Укъэзмышэм псэу симыӀэу?
Ӏуэху уащӀащи, саугъэту
Уату щытми, сщӀэр плъагъункъэ! —
Къамбот хуабжьу псалъэ щитым,
Лацэ и фэм лъы щӀохьэж,
ТхьэмыщкӀитӀым зэрышэныр
Я Ӏэрылъхьэу ялъытэж.
Абы дежым блэ джэ макъыу
Гуащэр къаджэу зэхахащ,
Лъэмакъ щэхукӀэ Лацэ цӀыкӀур
ПӀащӀэу пщӀантӀэм дыхьэжащ.
Зиумэзэхыу пщащэ цӀыкӀур
Гуащэ пащхьэм ихьэжащ,
Пщы жыхафэр зи щытыпӀэр
ПхъанкӀэ, лъасэу увыжащ.

              * * *

Пщащэ цӀыкӀум и дахагъым
Гуащэ блащхъуэр бий хуэхъуат.
Махъэшокъуэм тӀуанэ щэхуу
ИубыдынкӀи шынэ хъуат.
Лажьэ имыӀэу Лацэ дахэм
Гуащэ нысэр кӀэлъызоплъэ,
Зы лъэбакъуэ ичыхункӀэ
ӀейкӀэ бзаджэр хуодзэлашхэ.
Пщащэ цӀыкӀум ар ищӀащи,
КъыщыщӀынум хуогупсысэ,
Пщым имыщӀэу Къамбот щӀэхыу
ДэкӀуэсэным ныхуопӀащӀэ.
Ауэ цӀыхур зыхуейр псори

КъехъулӀамэ Ӏуэху щыӀэнт?
Лъагъуныгъэм къыпэщӀэуэ
ЩымыӀами лъапӀэ хъунт?

                     ***

ЖаӀэж быдэу а гъэмахуэм
Хэкум Ӏуэху ин къыщыхъуауэ —
Кърым хъаным и дзэ Ӏувыр
МацӀэу жылэм къытеуауэ;
Шырэ уанэ зыцӀыху псори
А зауэшхуэм яхэтауэ,
Тэтэр хъаныр Къэнжалыщхьэм
Ирадзыхыу къэкӀуэжауэ.
Махъэшокъуэм шу гуп щӀыгъуу
Абы щыгъуэ къэсыжат,
Жыр джатэжьми теуӀуэжу
Аслъэнокъуэр пагэ хъуат.
Абы жеӀэр Долэт хъаным
«Гъуаплъэ нэкӀур» хуиупщӀэтауэ,
И зэ уэгъуэм бийм ящыщу
ЦӀыхуипщӀ зэуэ дэгъуэлъауэ…
Ауэ Хьэсанш, нэщхъей дыдэу,
Жыхафэгум къыщыхоплъэ,
Ибг илъ сэшхуэм и Ӏэр телъщи,
Пщым я щӀыбкӀэ ар щощатэ.
ЛӀыжь усакӀуэу жьантӀэм дэсыр
Гупсысэшхуэм ныхэхуат:
Щытхъур нобэ къэзыхьахэр
Хьэсанш сымэу илъэгъуат.
Зауэ щӀыбым ар щыдэтым
ИлъэгъуакӀэт Къамбот хъыжьэу,
Жьэгъухэм бийхэр, къемыплъэкӀхэу,
Гу лъитакӀэт иригъалъэу —
Усэр абы яхуэфащэт.
Сыт ищӀэну лӀыжь усакӀуэм?
Ахэм щытхъумэ, пщым ядэнкъым,
ЗекӀуэ гупми хагъэхьэнкъым!
ЗекӀуэ усэр хьэщӀэщ кӀыхьым
Хуабжьу, ӀупщӀу къыщӀоӀукӀ,, . .

ДэнкӀэ плъэми — пщӀантӀэм цӀыхухэр
ПӀащӀэу, щтахэу щызэблокӀ.

             * * *

Лацэ цӀыкӀуу мазэ нэкӀур
ХьэщӀэ гупым нащхьэщохьэ,
Щхьэщэ ищӀу Аслъэнокъуэм
ЩтэӀэщтаблэу мыр жыреӀэ:
— Зы сыхьэткӀэ сыныпхуейщи
Гуащэм къакӀуэ къыбжиӀащ.—
Лацэ дахэр нэщхъей дыдэу,
Гъыфэу, хуэму щӀэкӀыжащ.
Аслъэнокъуэр а сыхьэтым
ДжакӀуэм псынщӀэу ныкӀэлъокӀуэ,
ЛӀыкӀуэ къабзэм хуеплъэкӀыжу
Жан лэгъунэм зэдыщӀохьэ.
Аслъэнокъуэр и шыпхъу Жаным
ӀэплӀэ ешэкӀкӀэ ныбгъэдохьэ,
Зиусхьэнщи — шэнтжьей жьантӀэм
Зигъэбэгыу дегъэтӀысхьэ.

                   ***

Гуащэ нысэм Лацэ нобэ
И мурадхэр хуегъэнахуэ,
Щхьэхуимытыр пшэрыхь щӀыкӀэу
И дэлъху хьэщӀэм хуегъэлъагъуэ.
А хеищэр нэщхъей дыдэу
Жыхафэгум щыгъэжащ —
Жан жиӀэнум-ар къыпэплъэу
ЩӀым еплъыхыу къэуващ.
Гуащэм щэхуу зэригъакӀуэр
Аслъэнокъуэм и гуфӀэгъуэт,
Абы Лацэр саугъэту
Къыритыну щыгугъыххэт…
Пщы Ӏэлыжьым дахэ цӀыкӀур
Игу къищтащи жьэхоплъыхь —
Щыхь шыр хуэдэ, а къабзащэр
Еруужьым нэкӀэ ешх.
Абы хэту гуащэ нысэм
Лацэ цӀыкӀум зыхуегъазэ,
ЗызэфӀишу мурад Ӏейхэр
ЖыриӀэну къырегъажьэ:
— Лацэ, уэркӀэ мы си дэлъхур
ХьэщӀэ гупым къахэсшащ,
Шыпхъу фэенлъу, унэӀуту
Сэ уестыну згъэгугъащ.—
А сыхьэтым хъыджэбз цӀыкӀур
ЗанщӀэу и пӀэм ехуэхащ,
Нэхущ вагъуэу, техьэгъуафэу
А нэкӀухур ущхъуэнтӀащ.

            * * *

Аслъэнокъуэр а сыхьэтым
Хъыджэбз цӀыкӀум щхьэщоувэ,
Гу Ӏув бзаджэр щыдыхьэшхыу,
Ауан ищӀу мыр жыреӀэ:
— Ӏуэхур фӀэфӀмэ, пщащэр магъыр,
Ягъэ кӀынкъым, зикӀ жумыӀэ.
Уи пщым нэхърэ сынэхъ Ӏейуэ
Сыщытынкъым, умышынэ.—
А гъы макъыр фӀэмыӀуэхуу
Аслъэнокъуэр щӀэкӀыжащ,
Жан губжьауэ пщащэ цӀыкӀум
Мыр жыриӀэу жьэхэлъащ:
— Тхьэр си бийкъэ, къыфӀэбгъэкӀмэ,
Сонэ щӀыбым уезмыгъэдзмэ,
Е, ухуеймэ, пшапэӀудзу
Кърым хэкум уезмыгъэхьмэ!

               * * *

Куэд дэмыкӀыу, игу къутауэ,
Лацэр унэм къыщӀокӀыж,
Жан и гугъэр хуимыщӀэну…
ЛӀэныр дахэу елъытэж.
Сенэ цӀыкӀум щӀэтӀысхьащи
Пщащэ дахэр мэшэхыщӀэ,

Къамбот ӀущӀэу и хъыбарыр
ХуиӀуэтэнкӀи Жан щошынэ.
Мэгупсысэ, мэгупсысэ…
«ЛӀэныр дахэщ»,— къыщолъэтыр
Лъэмакъыншэу, а тхьэмыщкӀэм,
Сакъыу, бомкӀэ гу ныхуещӀыр.
Къамбот, сэхым здыбгъэдэтым
Лацэр псынщӀэу бгъэдолъадэ;
Техьэгъуафэу, и гур уэуэ —
Игу икӀащи — мэкӀэкуакуэ.
НапӀэ псыфхэр щӀилъэщӀыкӀыу,
Пщащэр ӀупщӀу мэдэхащӀэ,
Гур хигъэщӀу дахэ цӀыкӀум
Тхьэусыхэр къырегъажьэ:
— Къамбот, нобэ лъагъуныгъэу
ЗэхудиӀэр пщӀэншэ хъуну?
ХьэщӀэм нышу сыныдихмэ,
Уи лӀы напэм ар къекӀуну?
ПщӀэуэ пӀэрэ нобэ гуащэм
Мурад бзаджэу къытхуищӀар —
ГъащӀэу диӀэр дызтемыплъэу
Дигъэхьыну тхьэ иӀуар?..
Гуащэ нысэм саугъэту
Сэ ситыныр пэж хъупаи…
Си фӀэщ мыхъуу жыпӀэгъахэр
Нобэ сэркӀэ наӀуэ хъуаи…
Лъагъуныгъэр пэжу щытмэ,
ЩӀэхыу пщӀэнур къэгъэнахуэ,
Дыгъужь гупым сомыгъэшхыу
ЖыпӀа псалъэр схуэгъэзащӀэ…—
Лацэ и гуӀэр Къамбот хахуэм
Щызэхихым, зэщӀэплъащ,
Лей къалъысми хуэдзэлашхэу
Мыри быдэу жыриӀащ:
— Аушыджэрыр си щыхьэту
Сэ жысӀахэр згъэпэжынщ,
Жани, гуащи, уэркъми, пщыми
ЗалӀэжами укъэсшэнщ.
Умыдзыхэ, сэ си Лацэ,
Пщым я джатэр сэркӀэ тхьэкъым,
ПщылӀ къытфӀащу Ӏэщым хуэдэу
ДызыӀыгъхэм фӀы щӀахынкъым.
Саугъэту уэ уатыныр
Сэ а гупым яхуэздэнкъым,
Къуажэу, жылэу пщы зыдэси
Сэ пщылӀакӀуэ сыдыхьэнкъым.
ЛъхукъуэлӀ Ӏэщэм иукӀ цӀыхур
Къэмыхъужу сеуэфынщ,
Пщы унафэм зэ сыщӀэкӀыу
СаукӀыжми сытыншынщ.
Ӏэщэ-фащэр лӀым къегъуэтыр…
Пщэдей жьыуэ дежьэжынщ,
Пщыншэу гъащӀэ зэрыдухуэм
Сэ мыгувэу уезгъэплъынщ! —
Ӏуэху ищӀэнур гурэ псэкӀэ
ЩӀалэм нобэ къыщиӀуатэм,
УнэӀуту пщащэ цӀыкӀум
И гур дахэ къыщыхуищӀым —
И бэлыхьхэр текӀа щӀыкӀэу
Дахэм и гур егъэфӀыж,
И нэкӀуплъу нэпс шыугъэм
Псыф ищӀахэр елъэщӀыж.

             * * *

ПщӀантӀэ иным махуэ къэскӀэ
ПщылӀхэр пӀащӀэу щызэблож,
ХьэщӀэщыбжэр хьэщӀэ Ӏувхэм
Сыхьэт къэскӀи хузэӀуож.
ГъэщӀэгъуэнкъым, «пщым и шхыныр
Къуалэбзухэм къакӀэроху»,
Я жэщ-махуэм къарит Ӏуэхум
Емыплъыжхэу шыр зэпаху.
Сабий цӀыкӀухэм хьэщӀэщ джабэм
ЛъэӀу щӀэнэцӀу зыщагъэш,
ЛӀыгъэм, шыгъэм и хъыбархэм
Пщыхэм щытхъухэр ныхуагъэш.
Махуэр кӀуащи, пхъэ уэздыгъэр
Уэнжакъ дамэм щагъэнэху,
Ӏуэху шынагъуэм пэщыт щӀалэр
ХьэщӀэ щӀыбхэм ныщокӀукӀ.

Лацэ дахэм а зэманым
Гуащэнысэр ирогуапэ,
Шу пэрытхэм я нэмыскӀэ
Фадэ щхьэхуэр щӀырегъэхьэ.
Мазэ нэкӀуу пщащэ къабзэр
ХьэщӀэ пащхьэм щофэразэ,
Залымыжьу Аслъэнокъуэр
Ауан щӀыкӀэу йонэӀуахуэ.
А бзаджэжьыр пщащэ дахэм
Щыгугъащи зыхуегъафӀэ,
И нэр къикӀыу, пӀалъэр къэсмэ,
Ар дихыным ныхуопӀащӀэ.
Къамбот Лацэ еплъыхункӀэ,
Ауан нэщхъкӀэ зонэӀуахуэ,
Я Ӏуэху щэхур къайхъулӀэнкӀэ
Гугъэу тӀури зэхуогуфӀэ.
Ахэр нобэ зым къимыщӀэу
НэкӀэ ӀэфӀу зобзэрабзэ,
Лъагъуныгъэу а тӀум я кум
Дэлъыр бзэншэу зэхуаӀуатэ.
ПлъэкӀэ щэхур мэлъхъэдисщи
Лацэ дахэр къызыщӀешэ.
МыщӀэм ещхьу и нэ лыдхэр
МыдэӀуэжу къыфӀогуфӀэ.
Ешхэ-ефэм и щӀыбагъым
НыбжьыщӀитӀым зыщагъафӀэ,
ЗэпэгуфӀэу, мащӀэу, щабэу,
Дзэ хужь цӀыкӀухэр къагъэнаӀуэ.
Макъ имыӀэу зэпсэгъуитӀыр-
Гу пщтыракӀэ зодэхащӀэ,
Лъагъуныгъэм и ӀэфӀ дыдэм
Гъэр хуэхъуахэр Ӏуэху гуэр поплъэ;

                 ***                                    —

Щхьэгъырытхэр хьэщӀэ щӀыбхэм
Сыным ещхьхэу щыгъэжащ,
Бжэм щэхубзэу Къамбот сымэ
ЛъапэпцӀийуэ къыщӀэкӀащ.
Щэху защӀауэ ныбжьыщӀитӀыр

Бо блын щIыбым щоӀущащэ,
Жэщ кӀыфӀыпсым зыщагъафӀэу
Я щэху жаӀэр, зобзэрабзэ.
Мис арыххэу а щэхуитӀым
Хьэсанш гушхуэу нажьэхохьэ:
Ӏуэху зехьэным лӀыгъэ хэфлъхьи.
Маржэ хъунхэ, феужьэрэкӀхэ!
Сэшхуэм къихьыр, Къамбот, нобэ
Дгъэлъэгъуэфмэ, Ӏуэхур хъунщ.
Джатэ щӀагъым нанэ щыӀэ?
Ӏэщэр лъэщмэ, деуэфынщ.
ФӀыкъым нобэ сэ зэхэсххэр:
Пщэдей хьэщӀэр ежьэжынущ,
Аслъэнокъуэм кӀэс иӀыгъыу
ЗигъэщӀагъуэу дэкӀыжынущ…—
Ахэм псалъэр ямыухыу,
Гуащэ нысэм гу къалъетэ,
Пщащэ цӀыкӀум, джэлэн хуэдэ
Щтауэ, и пкъыр фӀызэщӀолӀэ.
Лацэ и псэр Ӏулъэтауэ
Гуэнэщ кӀыфӀым щӀолъэдэж,
Удын гуауэм пэплъэ пщащэм
Гугъэу иӀэр фӀокъутэж.
«Сэ мы Ӏуэхум къызегъащӀэр
НыбжьэгъуфӀым уасэ имыӀэу,
Дыщэ, мылъкукӀэ умыпсалъэ,
Ар си дежым щыпщэхуну!
Псэм дэкӀуашэу къыпхущытым
СыткӀэ уасэ хуэпщӀыфын,
Псэуныгъэр схуэзыхъумэм
Хэт и дыщи пэлъэщын».
Къамбот Ӏуэхуу къыпэщылъыр
ЕщӀэ нобэ пщылӀ азэтым,
ТемыплъыкӀыу, ныбжьым хуэдэу,
Ар кӀэлъоплъыр зэпсэгъуитӀым.
Абы ещӀэ Лацэ цӀыкӀур
Ныш пэлъытэу зэратынур;
Аслъэнокъуэм и напщӀитӀыр
Абы щхьэкӀи зэрыгуфӀэр.
«ЛӀыгъэм джатэр хуэжыӀэщӀэщ,

Ар бгъэбзэфмэ, псори едэр,
И удыным пщы и пщыжым,
Гуауэ щыхъуми, щхьэщэ хуещӀыр.
Сэ си гъащӀэр щыхуит мэзыр
Ноби щыӀэщ— сыкӀуэжынкъэ,
Сэ ныбжьэгъум сыщымыжмэ,
Сыт мы джатэм и пэрмэныр?
Псалъэу Къамбот сэ естахэр
Пэж сымыщӀмэ, сыт къуэшыгъэр?»
Хьэсанш нобэ зигъэпсауэ
Джатэ щӀыфэм и Ӏэр делъэ.

           * * *

Куэд дэмыкӀыу Лацэ дахэр
Гуащэ ябгэм щӀырегъашэ,
НапщӀэ хэшыр, елэн щӀыкӀэу,
Къэгубжьащи, къыжьэхолъэ:
— Уи фӀеягъэр къуэбуфэжу
Сын жа зыпщӀу ууваи,
Ем ихьыну уэ хьэм и пхъур
НэмысыфӀэ ухъужаи!
Сэ ныбжесӀэм къыщӀэдэӀуи —
Блынхэм хьэгъэ щызомыхьэ,
Шэм ихьыным къебгъэжьахэр
Узмытхьэлэу сэ къызжыӀэ!
Уэ фӀейм и пхъум си щӀыбагъкӀэ
Сыт емыкӀухэ къебгъэжьар?
ПщылӀ щӀалэжьхэм уадэджэгуу.
Нэмысыншэм зыщӀэбдзар?
Аркъудейкъым уэ блэжьахэр.
Гуэщ-джэдэщхэм лӀы щоубыд,—
Дэнэ щӀыпӀи ущагъуэтмэ,
ПщылӀ щӀалэжьхэм урауд.
ЛӀы ухуеймэ, нэху зыдэщым
Хьэр зыщащэм уезгъэшэнщ,
Шэ ӀэнатӀэм уэ ихьыныр
Сонэ щӀыбым уезгъэдзынщ.—
Зэзым хуэдэу псалъэ дыджхэр
Пщащэ цӀыкӀум щызэхихым,

А хеищэр гуащэ нысэм
Лажьэ имыӀэу щигъэпудым.
Дыгъэ гуащӀэм дэхулауэ
Тхьэрыкъуэфу пкъыр щӀэлӀащ.
ЩтэӀэщтаблэу и фэ тӀэкӀухэр
Блыным хуэдэу фагъуэ хъуащ.
Набдзэ кӀыхьхэр фӀызэхэуэу.
ЩIым хусплъыхыу ар диящ.
И нэбжьыихэр а сыхьэтым
Нэпс уэпӀХ хуабэм псыф ищIащ.
II нэкӀу тӀэкӀухэм къежэхахэр
Бгъафэ хуабэм дэлъэдаш.
Дыщэ шырым гущӀэгъу макъкӀэ
Жгъырум хуэдэу мыр жиӀаш:
— Гуащэнысэу си псэм хуэдэ,
Дэ къуз а уэ су м у л ън й,
Дзы снмыӀэр уэ къысфӀэпщу
СэркӀи нобэ умыбий.
Сэ къысхуэдэ фӀыуэ слъагъукӀэ
Сыт ун жагъуэ щӀэхъуфыиур.
Дунсишхуэм сэ тхьэмышкӀэр
Сытепхуныр уигу щӀидэпур?
ХьэщӀэщ блыным сыкъуэтамэ,
ЛӀы умыщӀэу сыдэкӀуакъым,
ФӀыуэ слъагъум сепсэлъакӀэ
Ари сэркӀэ нэчыхь хъуакъым.
ЕмыкӀу сщӀами къысхуэбгъэгъумэ,
ЗикӀ уи жагъуэ злэжьыжынкъым,
Уэ къызжепӀэм семыдаӀуэу
Сэ зы махуи сыпсэуикъым.
Хамэ хэкум сыщебгъащэу
Си анэжь закъуэр умыгъалӀэ,
ЛӀы сомытми, мы зы гъуэгукӀэ
Си адэ и щӀапӀэм сыкъигъанэ.
Абы хэту гуэнэщыжьым
УнэӀутыр щӀырегъадзэ,
Жыгеибжэм гъущӀ хьэлъкъ быдэр

Гъэрым быдэу хуӀуегъауэ.
Лацэ, и Ӏуэхур зэӀыхьауэ,
Гуэнэщ быдэм гъэр щащӀащ,
Дыхьэрэну и нэкӀуплъхэр
Нэпс шыугъэм ихулащ.
Бэлыхь гуащIэу ар зыхэтым
Уэгъу удзыщӀэу пкъыр щӀихащ,
И Къамботым къимыщӀэххэу
Нобэ хьэпсым ар къинащ.
Дахэ шырыр мэгупсысэ:
Къамбот нэгум ныбжьу щӀохьэ,
Дуней гъащӀэр зыдихьыну
Игу илъ щӀасэм нытогуӀэ.

                      ***

Нэху зэрыщу пщащэ гуӀэр
ШыплӀэ шэнткӀэ ныӀуахынущ,
Къамбот щӀалэм и къэшэныр
Пщым я пащхьэм щыпудынущ.
ЩӀалэ хахуэм лӀы и гугъэр
И гум быдэу ирилъхьащ,
Зиусхьэнхэм я мурадыр
Икъутэнуи тхьэ иӀуащ.
Ӏэщэ-фащэр къыхуэтыншэу
Хьэсанш абы иритащ,
«ЛъхъукъуэлӀщ»,— жаӀэу зыгъэпудым:
Пэувыным гу хуищӀащ.

                     ***

Нэхущ пшэплъыр къыщынэхум,
Къамбот Ӏуэхур игъэбзащ,
Ӏэщэ-фащэр къыздимыщтэу
БомкӀэ кӀуэри увыжащ.
Лацэ пӀалъэ къыритати —
Боужь кӀыфӀым ныщыпоплъэ,
Лацэ нобэ къыщыщӀахэм
Щымыгъуазэу- ар мэпӀащӀэ.
Пщым я ефэр зэпымыууэ,

Уафэ гъунэм зызыӀуех,
Нэхущ вагъуэр ущхъуэнтӀащи,
Нур лыдахэр мащӀэу пех.
Лацэ дахэр гуэнэщ нэщӀым
Пыхьэу, гуӀэу ныщожэщӀ,
Йогупсысыр и щхьэм илъхэм,
НэпскӀэ и бгъэр еуфэнщӀ.
Лажьэ имыӀэу хъуэн хуащӀахэм
Хъыджэбз цӀыкӀур зэгуеуд,
Залымыгъэм ар екъузри
МафӀэр и гум къыщолыд.

                ***

Абы хэту гуащэ Ӏэлыр
Лацэ цӀыкӀум къыкӀэлъоджэ,
Махъэшокъуэм бзэгу хуихьащи,
Абы и пащхьэм нырелъафэ.
Къашыргъэпэу пщы гъур фагъуэр
Аслъэныжьу къэгубжьащ,
Къишхын хуэдэу гущӀэгъуншэр
Пщащэ цӀыкӀум къытелъащ:
— Нэмысыншэ, уипщ имыщӀэу
ЩӀасэ пщӀыну хуит зыпщӀаи,
Укъэмыхъуу сэхъуа ухъуу
Унафэншэу уежьэжай.
ИкӀ си пащхьэм! Жьагъэ папщӀэу
Аслъэнокъуэм сэ уестащ,
Кърым уихьу ущищэну
Уи унафэр сыухащ.—
Лацэ цӀыкӀур а сыхьэтым
Хуабэ пщӀащэу зэфӀэлӀащ,
Щыгъэ плъыфэу дзэ хужь цӀыкӀухэр
ЗимыщӀэжу зэрышхащ.
Пщы ябгэжьыр дэпу плъащи
Къамбот лъыхъуэу къыщӀожыж,
Жэзым хуэдэу щӀопщ тхьэмпэншэр
Игъэдалъэу зешхыхьыж.
Гуахъуэ иӀыгъыу бо блын къуагъым
Къуэт Къамботым ныхущӀопхъуэ,

Ар зопхъуэкӀри и жэз щӀопщыр
И плӀэм занщӀэу тырешащӀэ.
Ар Хьэсаншым илъэгъуащи,
Дохъутей фӀыцӀэр тырепхъуэт,
— Щыгъэт! — жери фоч жыӀэщӀэр
Махъэшокъуэм ныхуегъэпс.
Абы хэту, аслъэн щӀыкӀэу,
Къамбот пщышхуэм къыжьэхолъэ,
Ибг илъ Ӏэщэм щӀопщыр дэкӀуэу
Абы псори ныӀэщӀохьэ:
— КъохъулӀакъым уи мурадыр! —
ЖиӀэу Къамбот еуэн щхьэкӀэ,
— ПыкӀ удыным! — Хьэсанш жери
ЩӀалэр зэуэ егъэувыӀэ.
А сыхьэтым хьэщӀэ гупыр
Фочхэм еӀэу къыщӀэжащ,
Къамбот занщӀэу хьэщӀэш гуэрым
ЯфӀэшэсри ежьэжащ.
Ауэ Хьэсанш зыдэщытым
ЛъэбакъуитӀкӀэ яхуикӀакъым,
КъекӀуэфыну зы лӀы закъуи
ПщӀантӀэм дэтхэм къахэкӀакъым.
ЛӀыжь гъур кӀыхьу, пыӀэ шопсу
Уэрэд усыр мэгузавэ:
— Щывгъэт, маржэ, зиусхьэнхэ,—
ЖиӀэу пщыхэм йобзэрабзэ,—
Сыт и лажьэ Хьэсанш нобэ?
Ӏэжьэгъу хъуамэ, лей ищӀакъым,
КъимыгъапкӀэу къищта фочыр
Пщым гу ӀейкӀи хуишиякъым.
Ар еуэну хуеигъамэ,
Лъы ищӀэнкӀэ хулъэкӀынт,
Мэз унапӀэм есагъэххэт —
Шагъдий шууэ хыхьэжынт.
Ауэ, псэкӀэ ар къыпкъуэтти,
Лъы икӀыгъэ уигъэщӀакъым;
ТэтэртупкӀэ сынолъэӀур,
КъызэдаӀуэ, ягъэ кӀынкъым.
Махъэшокъуэр зэгуэпами,
ЗимыхъунщIэу сабыращ

ЛӀыжьми щӀагъуэу хуемыплъэкӀыу,
ХьэщӀэщ кӀыхьым щӀыхьэжащ.
Зэгуоудыр ар, мэпапщэ,
Щэху зищӀауэ щӀым йоплъых,
Хэгъэрейхэм, щхьэгъэрытхэм
Пшагъуэу и нэр хузэӀуех.
И псэм ещӀэр Хьэсанш сымэ
Я мурадыр зэрымыфӀыр,
Лацэр итми, мис а Ӏуэхум
МафӀэ гуэрыр зэрыхэлъыр.
Дауи ирехъуи, шынащ жаӀэу
Ар щӀыбагъкӀэ екӀуэжынкъым,
Жан и тыгъэр зэпиуду
И щыкъу щауэм егуэуэнкъым.
Ар дзыхауэ уимыгъащӀэу,
ХьэщӀэ гупхэм захуегъазэ,
Бжьакъуэжьейхэм из ящӀыну
Хэгъэрейхэм яжыреӀэ.
Къулъшыкъушхуэм и зэманым
ХьэщӀэщ кӀыхьыр мэушыж,
Я пщы хьэщӀэр ежьэжынущ —
Шэсыжыбжьэр здаӀэтыж.
ШыкӀэ пшынэр, фӀэмыӀуэхуу,
ЛӀыжьым жьантӀэм къыщегъэӀу,
Ӏуэху къэхъуахэм егупсысу
ПыӀэ шопсыр къырекъух:
«Сыту пӀэрэ Махъэшокъуэм
Къамбот сымэ хуимурадыр,—
Дыгъэ-щыгъэу пщащэ цӀыкӀум
Ӏуэху пэщылъым ар зэреплъыр?
Ягъэ кӀынкъым, куэдыр гуащӀэщ,
ЛӀыгъэщ Къамбот илэжьар,
Ныбжьэгъугъэщ сэ Хьэсанши
Нобэ ищӀэу дэслъэгъуар.
Лацэр нобэ яӀэщӀихмэ,
А Къамботыр щӀалэ бланэт,
Хьэсанш абы дэӀэпыкъумэ,
ЛӀыхъужь нэсу къэслъытэнут.
КъиутӀыпщынкъым ди псыр благъуэм,
Джатэр и пщэм тедмыгъахуэу,

Дэ ди быни дыхуитынкъым,
Джатэ Ӏэпщэр дымыкъузу».
И напщӀитӀыр зэхэуауэ
ЛӀыжь усакӀуэр щӀым йоплъых
Зиущэхуауэ, сабыр дыдэу
И гур пщыхэм хузэрошх.
Мэгупсысэр, мэгупсысэр —
И щхьэр щӀылъэм егухащ,
Пщым я хасэр щыгъупщауэ
Щхьэхуэщ лӀыжьыр, Ӏуэху хэхуащ.

                ***

Шы фӀэдзапӀэм, мис а махуэм,
Шы псэхуахэр къыпахыж,
Зэхэзежэщ пщылӀхэр нобэ:
Пщы хьэщӀэжьыр дагъэкӀыж..
Пщащэ цӀыкӀур, Ӏэщ щэн хуэдэ,
Аслъэнокъуэм хуаузэдащ,
ШыплӀэ щхьэнтэм ар пагъаплъэу
Гуэнэщ кӀыфӀым щӀаубыдащ.
Къамбот нобэ пщым и пщӀантӀэр
ГъащӀэу иӀэм къибгынащ,
Лацэ зыхьхэм къезэуэну
Ӏэщэ иӀыгъыу пэтӀысащ.
А хъыбарыр пщащэ цӀыкӀум
Зэхихащи мэгузавэ,
Мэз куум хэсу къежьэ щӀалэм
Бийхэм щхьэкӀэ и гур хуощтэ.
Къамбот нобэ къатекӀуэфмэ,
Дунейр Лацэм къыхуэнат,
ФӀыуэ илъагъум а мэз щхъуантӀэм
Щепсэлъэжмэ, ехъулӀат.

           * * *

КъопыхьыкӀыр пщащэ цӀыкӀур,
БампӀэр и гум тегъуэлъхьащ,
КъыщӀагъэхьэу и анэжь закъуэм
Ӏуагъэплъэнуи щӀэлъэӀуащ.

Сыту гуауэт: Лацэ дахэр
Хьэпшып щӀыкӀэу зэӀэпах,
ФӀыуэ илъагъухэм Ӏумыплъэжу
А тхьэмыщкӀэр нобэ дах.
А хей цӀыкӀур и мыщӀыпӀэм .
Хьэпшыр лейуэ щыхыфӀадзэ,
Дзы имыӀэу и анэжь закъуэр
Пщым и пащхьэм къыщопыхьэ.
Хъыданыжьу ӀэлъэщӀ гъуабжэр
Телъэфауэ щхьэщэ ещӀыр.
ГущӀэгъу макъкӀэ абы и лъапэм
Ба ныхуищӀу ар щӀолъэӀур:
— Зиусхьэну сэ си дотэ,
Сыт уи жагъуэу сэ злэжьар?
Жьагъэ щӀыкӀэу хъыджэбз цӀыкӀур
Сибгъу щӀэпчыныр уигу щӀидар?
Адрейхэм дакъыгуэкӀыу
Дэ хьэлэлу дылэжьаи,
Жьыри псыри зэхэдмыщӀэу
Дэ уи пщӀантӀэм дыдэтаи.
Хъыджэбз цӀыкӀур птыуэ щытми,
Зэ и нэгум сигъэплъэж,
Къунажыну а тхьэмыщкӀэм
Анэ ӀэплӀэ хуэзгъэщӀыж! —
ЖиӀэу щылъу, Аслъэнокъуэм
Шыгъуэ фэкъур къырехулӀэ,
Щхьэхуимыту Лацэ цӀыкӀур
ЗэфӀэщахэу шыплӀэм далъхьэ.
И гъуситӀым я кум дэту
Аслъэнокъуэр ныдокӀыж,
Жыгей мэзым и шу лъагъуэм
Техьэжыным хуеунэтӀыж.
Лацэм и анэр кӀэлъыгъуэгыу
И щхьэц хужьыр къыречыж,
ПщӀантӀэ куэбжэм щыӀубауэ
ЩӀыр къыритхъыу зефыщӀыж.
«Хьэрылъху!»— жери Махъэшокъуэр
Фызым гуауэу жьыхокӀие,
А тхьэмыщкӀэм и гум щыщӀэм
ПщIэ хуищӀынуи игу къимыхьэ.

ЩIым щылъ анэр лӀыжь усакӀуэм
ЩӀэхыу жэри къиӀэтащ,
Уэнжакъыншэу и унэжьым
ЗимыщӀэжу щӀихьэжащ.
Псыдзэ гуащӀэр щӀэлъэдауэ,
ПщӀантӀэр ину пӀейтеящ,
Пшэрыхь тыгъэм псэр хуитыну
Хьэсанш нобэ хуэуващ:
«ПӀэм сыгъуэлъу — сибгъу илъ сэшхуэр
Улъияуэ — зызгъэлӀэнкъым,
Къунажыну си ныбжьэгъум
Мо и псэгъур згъэкIуэдынкъым»,—

ЖиӀэу абы дохъутей фӀыцӀэр
Тырипхъуэтри къежэжьащ,
ЩтэӀэщтаблэу щыта пщылӀхэм
Ягухэм мафӀэр щылыдащ.
Абы хэту лӀыжь усакӀуэм
«Маржэ» пшынэр зэщӀищӀащ,
Пщы удыныр тырадзыным
ЛӀыгъэ усэр хуигъэпсащ:
— Пэжым джатэ имыӀыгъми,
Гъэр зы махуи яхуэщӀынкъым,
ПцӀыр къебэкӀыу жьажьэу щытми,
Ар и бийми хуэубыдынкъым.
Сэ сырелӀэ Хьэсанш щӀыгъуу,—
Мыкъэрабгъэр дэ ди гъусэщ —
ТекӀуэныгъэр дымубыдми,
Ди лэжьыгъэр тхыдэ лъапӀэщ.
Ахэр пщыуэ къигъэщӀакъым;
Дэри пщӀантӀэр тхухахакъым,
Зы пщы гуэри и къапхъэныр
Мыкъутэну идзыфакъым.
ЛӀыгъэ зиӀэр Лъэпщ и къанщи
Ӏэщэр абы къыритынщ.
УнэӀутми псатхьэ яӀэщ —
Аушыджэрыр хуэгъуэзэнщ.
Фщымыгъупщэу фигу ивгъэлъхэ:
Зэкъуэт цӀыхухэрщ къару зиӀэр,
ЛӀыгъэм Ӏэщэр игъуэтынущ,
Гъэгъун хуейкъым лей къытлъысхэр.

Ди пхъу цӀыкӀухэр, жьагъэ хуэдэ,
Тыгъэ зыщӀым фебгъэрыкӀуэ!..
Ягъэ кӀынкъым, дунейр цӀыкӀукъым,
Тедгъуэтэнущ дэ пщы захуэ!
Сэ сыхуейкъым Махъэшокъуэм,
Сылъыхъуэнущ пщы схуэхъунум,.
Сэри хьэщӀэ зыхуэсщӀынущ
Жылэм пэжкӀэ ябгъэдэтым!
Фымышынэ, зым тӀу и дзэщ;
Дзы хуащӀынкъым цӀыхум хуэлӀэм,
Сэ си ужьыр гъуэгу зыфӀэщӀыр
Махъэшокъуэм еплъыжынкъым.—
А сыхьэтым, зэщӀэплъауэ,
Хьэсанш Ӏэщэр къырихащ,
Пщыри фагъуэу зыдэщытым
Абы мыхэр жыриӀащ:
— Псалъэ сотыр ТэтэртупкӀэ:
Сэ Къамботыр къэзгъуэтынщ,
Е мэз кӀыфӀыр си унапӀэу
ГъащӀэу сиӀэм сыщӀэсынщ.
Лацэ нобэ пщым ептами,
Ар ди лӀыгъэм къырехьыж,
Къунажыну зэплъа пщащэр
ФӀыуэ илъагъум ӀурещӀэж! —
А сыхьэтым зы макъ ину
«Маржэ!» — Ӏури, бэр хъеящ,
Бжыхьхэм бжэгъухэр къыхауду
Джыдэ, фӀанэ зэхуадзыжхэу,
Куэбжи набжи цӀыху губжьахэм
Ираудыр къамыгъанэу.
Я усакӀуэр къимыкӀуэту
«Маржэ»! — жиӀэу бэм яхэтщ;
«Фыкъэмыщтэ, лӀыфӀхэ, феуэ!» —
Хьэсанш гуоуэ япэ итщ.

           * * *

Тэлай нэужьым пщылӀ Ӏэщэншэр
Кыщбэч губгъуэм къиужьгъащ,
Пщы гъур Ӏэлым и шу Ӏэджи

Шагъдий жэрхэм епсыхащ.
Махуэр икӀэм нэсыпауэ
Ди Хьэсаншыр къауӀащ,
Ерыжыбу щIэгъэщхъуами
Гын илъыжкъым, нэщӀ ищӀащ.
Сыг ящӀэнут пщылӀ Ӏэщэншэм?
Мэз унапӀэм ныхуагъазэ,
«Зэман диӀэщ, фымышынэ!»
ЛӀыжь усакӀуэр мэдэхащӀэ.
Зэгуэпауэ, папщэу, щатэу
Махъэшокъуэм зишхыхьыжт,
Хьэсанш закъуэ ӀэщӀыхьамэ,
Дунейр ейуэ фӀэщӀыжынт.
«Уи усакӀуэм дыпумыщӀу
Ущытати, уигъэпцӀакъэ,
Ар цӀыхуфӀкъым ныбжетӀамэ,
Къытхуумыдэу ущытакъэ!
Уэ усакӀуэм уемыдаӀуэу
Щытыгъамэ, Ӏуэхур хъуат;
Хьэсанш бзаджэр ӀудбгъэпӀатэм,
Бунт къэмыхъуу зэфӀэкӀат»,—
Пщы бейгуэлхэр къегиижу
Ар и пщӀантӀэм дыхьэжащ,
Ӏэбжи набжи имыӀэжу,
Жани хэлъу ӀущӀэжащ.

               II

А зэманыр гъэмахуэкути
Мэзым щхъуантӀэу зихуэпат,
Пшэхэр гупу бгым я щӀыбкӀэ
Къыдэпщейхэу къыщӀадзат.
Зэман кӀэщӀкӀэ а пшэ Ӏувхэр
Уафэ джабэм щызэхуос,
Бгыжьхэм я щхьэм лъэӀэсыпэу,
Нэхъри лъахъшэу, къотӀысэх.
Бещтоужьым и жьы псыӀэм
Хуэму къепщэу къырегъажьэ,
Ӏуащхьэмахуэм и щыгухур
КӀуатэ пэтми пшэм щӀеуфэ.

Куэд дэмыкӀыу пшэ Ӏув хьэлъэм
Зэхэзеуэу къыщӀидзащ,
Удзи жыги жьы зэпихум
Щхьэщэ хуащӀхэу къэушащ.
Мис а махуэм зиуфӀыцӀащи
Къамбот и гум зыкъыдещӀ,
ЩӀалэр хейуэ нэщхъеящи
Бзум я усэр гъыбзэ фӀощӀ.
Уафэ джабэм дыщэ блапцӀэр
ЗэкӀэлъыкӀуэу къыщолыд,
Губжьа щӀалэм фоч шэрыуэр
ПӀащӀэу бийхэм яхуеузэд.
Уэшх къежэхыр Къамбот дежкӀэ
Лацэ и нэпсщи — зыхегъапскӀэ,
КъуакӀэ зэвым дэуващи
ПӀащӀэу бийхэм ар къыпоплъэ.
Мэзхэр, бгыжьхэр къигъэпсалъэу
Уафэгъуагъуэм къыщӀидзащ,
Уэшхыу къешхыр псыдзэ хъуащи
Къуэм толъкъуныр дэз къэхъуащ.
Тэлай дэкӀри, а пшэ Ӏувхэр
ЗэхэкӀыжхэу къыщӀадзащ,
Псыдзэ уэрхэм я даущым
Нэхъ хэпщӀыкӀыу заӀэтащ.
Къуалэбзухэм я уэрэдым
Зэпэджэжхэу щӀидзэжащ;
Кхъужьей жыгым бийм щыпэплъэу
Къамбот псыфу увыжащ.
Уафэ нэпсыр увыӀами,
Лацэ и нэкӀухэр уэлбанафэщ,
Пщы Ӏэлыжьым и шы сокур
А тхьэмыщкӀэм и тӀысыпӀэщ.
Ауэ нобэ пщащэ дахэм
Аслъэнокъуэр щогуфӀыкӀ,
КъуакӀэбгыкӀэр зэпиупщӀу,
Лъагъуэ нэпцӀкӀэ мэзхэм щӀокӀ.
Къамбот нобэ къыхуэщӀакъым

Пщыр гъуэгуншэу зэрызекӀуэр,
Шу зекӀуапӀэр къигъэнауэ,
Лъагъуэ пхэнжкӀэ зэрыкӀуэжыр.
ЗэрымыщӀэу Лацэ дахэр
Къамбот щауэм ӀэщӀэкӀащ,
Папщэу, щатэу ар ежьами,
Бийр дыгъу гъуэгукӀэ фӀэкӀуэсащ..
«Хъуакъым!» — жиӀэу, зэгуэпауэ,
Шагъдий псыгъуэм мэшэсыж,
Губгъуэ бжэнхэр къыкъуигъэщту
Лъыхъуэу мэзым ныщӀохьэж.

                * * *

Аслъэнокъуэу хуэдамашэм
И шу гупыр йолъэхъуауэ,
Блэ уэн хуэдэ, зигъэбэгыу
Ар гъуэгуанэм ныхуопӀащӀэ.
Ауэ ахэр езэшащи
Псынэ гуэрым къыщопсых,
Нэпсхэр нэкӀум тегъуэжауэ
Лаци шыплӀэм къырахьэх.
Хы куу хуэдэ, мэз щхъуантӀэпсыр
Яшхэм уанэ щытырах,
Езэшахэр псэхун хуейщи,
Дзыхь ящӀауэ, зызэфӀах.
ЩӀакӀуэ фӀыцӀэр хуаубгъуауэ
Пщым и бгъуэщӀкӀэ Лацэ щысщ,,
Щэху защӀащи а шу гупыр
Жейр теуахэу тыншу щылъщ.
Куэд дэмыкӀыу, замыщӀэжхэу,
Пырхъхэу жейуэ хилъэфащ,
Ӏэщи-фащи я бгъум щылъхэу
ЯщӀам пщӀыхькӀэ хыхьэжащ.

                ***

Мэз щхъуантӀэпсым и бзу хуитхэм
Лацэ гъыбзэ къыжыраӀэ,
Ӏуащхьэ лъапэм псынэ цӀыкӀур

И анэ нэпсуи ӀэщӀолъагъуэ.
Сыту хьэлъэ Лацэ дежкӀэ
Нобэ шыплӀэм зэрыдэсыр,
И псэм хуэдэу Къамбот псэгъум
Ар къимыщӀэу зэрыкӀуэдыр!..
Иджы хуэдэу зэкъуэхуауэ
Ахэр дахэм къигъуэтынкъым,
Къыр мэз кӀыфӀым щӀэмыхьэжми,
Ар бэлыхьым къыхэкӀынкъым.
Лацэ хуэму зыкъеӀэтри
Нэпсхэр псынэм хетхьэщӀэж,
Жыгхэм я щхьэм бзум и гъыбзэу
ЩыфӀэщӀари щогъупщэж.
А сыхьэтым Лацэ дахэм
ЛӀы и гугъэр гум ирелъхьэ,
Пщым и бгъуэщӀкӀэ щылъ фащэфӀхэр
Сакъыу псынщӀэу зыщетӀагъэ.
Гъуэгу мылъыхъуэу губгъуэ бжэну
Ар мэз кӀыфӀым ныщIолъадэ,
Дэнэ кӀуэми имыщӀэжу,
И щхьэр кӀуэдми, ар мэкӀуасэ.
Къуэри бгыри зэринэкӀыу
Пщащэ цӀыкӀур ежьэжащ,
Бий жеяхэм жьагъэ папщӀэу
Заримыту хыхьэжащ.

                ***

Лацэ цӀыкӀур мэз тенджызым
КъамыщӀэну игъэпщкӀуащ,
ЗекӀуэ шухэм я пшэрыхьыр
И щхьэ хуиту ежьэжащ.
МакӀуэ, макӀуэ, щӀалэ нэпцӀым
КъуакӀэбгыкӀэр зэренэкӀ,
ЗэкӀуэлӀэнур имыщӀэжу,
Бжьоу къэщтауэ, жыгхэм щӀокӀ.
Дахэ цӀыкӀур езэшащи
Зы фэху гуэрым щотӀысэх,
ТӀэкӀу псэхуауэ… а сыхьэтым,
Фоч макъ закъуэ къызэхех.
Ар фоч макъым ныдэхуарзэу
И гур уэуэ щылъэтащ,
И щхьэц кӀыхьхэр пыӀэ щӀагъым
ЩӀэмыщыным хуэсакъащ.
Зыздиплъыхьым дыгъэмыхъуэм
Зы лӀы закъуэ ирелъагъуэ,
ЩӀалэ нэпцӀу Ӏэмалыншэм
Абы щӀэхыу гу хуегъазэ.
Набдзэ фӀыцӀэу «щӀалэ» цӀынэр
ЩакӀуэ лӀыжьым щыбгъэдыхьэм,
Дзыхь бгъэдэлъу, ар цӀыху пэжу
Лацэ фӀыуэ гу щылъитэм,
Къытехъуахэр къэт щымыӀэу
Абы псори хуиӀуэтащ,
Зыратауэ Аслъэнокъуэр
ЛӀыжьым, дауи, къицӀыхуащ.
ЩакӀуэ лӀыжьым адэ псалъэ
Пщащэ цӀыкӀум ныжыреӀэ,
Ӏуащхьэ нэпкъым тет и пщыӀэм,
Нэмыс хуищӀу, ар ныщӀешэ.
Бгыху лъэщӀэншэр зи сэрейуэ
ЩакӀуэ пщыӀэр бгъуэнщӀагъ гъуанэт,
Нэху дэдзыпӀэу иӀэ псори
ЦӀыхум хуэфӀу зы щӀыхьэпӀэт.
ПщыӀэ блыныр умылъагъуу
Щхъуэпсу фэкӀэ щӀэгъэнат,
Ӏуащхьэ джабэм ибгъу лъэныкъуэр
Шы къарэжьым бо хуэщӀат.
Мис а щӀыпӀэм Лацэ дахэр
ЩакӀуэ лӀыжьым щипсэлъэгъущ,
ГуӀэ къыбзэр къыжыраӀэу
Мэз бзу цӀыкӀухэр щиусэгъущ.

                   * * *

Ауэ «хъуакъым» — Аслъэнокъуэм
Пщащэ дахэр фӀэкӀуэсащ,
И гъуситӀым яхуэхъущӀэу
Мэзым лъыхъуэу къыщӀэнащ.
Пщым и кӀэсыр фӀэкӀуэдауэ
Дауэ жылэм дыхьэжын,
Жейурэ фащэр фӀадыгъуауэ
Дауи гуащэм хуэкӀуэжын.
ПцӀанэ хъуащи, еруужьыр
И гъуситӀым йохьэхуакӀуэ,
Пщащэ цӀыкӀур къимыгъуэту
МыкӀуэжыну быдэу жеӀэ.
Аслъэнокъуэм и гур бампӀэу
Мэз бгынахэр щӀепщытыкӀ,
Мэзджэд цӀыкӀухэр хигъэлъэту
КъуакӀэбгыкӀэр нызэпеч.
НэгъуэщI щӀыпӀэм ди Къамботыр
Къущхьэхъубгъэу щохуэразэ,
Шыгъуэ фэкъур езэшащи,
Жыг лъабжьэжьхэм йолъэпауэ.
Шу зекӀуапӀэ къимыгъанэу
ЩӀалэ жаным къыщикӀухьым,
КӀэсыр зыхьыр зылъэгъуауэ
Ар цӀыху закъуи щытемыплъэм,
Саур уанэр тӀасхъэ ищӀри
Бгыпэм и шыр щилъэхъащ,
Къытехъуахэм егупсысу
Нэщхъей дыдэу тӀысыжащ.
«Сылажьэншэу пщы шэрэзыр
Нобэ си гум къыхэуащ.
ЛъхукъуэлӀ цӀыхухэм ироджэгухэр,—
Хьэпшып папщӀэу далъытащ.
Сыту пӀэрэ ди цӀыхубзхэр
Пщы уэншэкуу къыщӀэнар,
УнэӀутхэр щхьэхуимытхэу,
Лей ятелъу къыщӀэхъуар?
Хъуакъым: Лацэу си гукъуэпсыр
Щэхуу пщыжьым сӀэщӀихащ,
Ар си Ӏэщэм пэщӀэмыхуэу
Пщащэ хужьыр къыхуэнащ.
Сэ сыхуейкъым нобэ гъащӀэм —
Лацэ цӀыкӀум хурекӀуэд!
А пудыгъэу къыттехъуахэр
ЗгъэзэщӀэжмэ, сырекӀуэд…» —
Здэгупсысэм жыжьэу плъэри
Былым гуартэ къилъэгъуащ,
И алащэр щӀикъузэжри
Ар псэххауэ щӀэпхъуэжащ.

               ***

Куэд дэмыкӀыу си Къамботыр
Ӏэхъуэ щӀалэм ныбгъэдохьэ:
«ХьэщхьэрыӀуэу Аслъэнокъуэр
Плъэгъуа?» жиӀэу ныщӀоупщӀэ.
Аслъэнокъуэу я жылэпщыр
ЗекӀуэ кӀуауэ къыжыреӀэ,
Абы жиӀэм цӀыху фӀэмыкӀыу
Мэхъэшауи къыхуеӀуатэ.
Къыр зэхуакум и быдапӀэм
Ар щыпсэууэ къегъэлъагъуэ,
Гъэ къэсыхукӀи кӀэсхэр куэду
КъырихьэлIэу тырегъалэ.
Ӏэхъуэ цӀыкӀум жиӀам тету,
Къамбот гъуэгум тоувэж,
Къуажэм нэсмэ, Лацэ дахэр
Къихьыжыну кӀуэцӀырож.
Шыгъуэ фэкъум бахъэр хихуу
ПцӀащхъуэм хуэдэу ар мэлъатэ,
ЩӀы зытетыр имылъагъуу
И гъуэгуанэм ныхуопӀащӀэ.
Гъуэгу здытетым и фочыжьым
Гынжьей пхъашэр тырегъащхьэ,
ЩӀэгъэщхъуауэ джатэ жаным
ӀэкӀи и дзэм ӀуроӀэбэ.
И мурадым ар лъэӀэсмэ,
Лацэ цӀыкӀур къыхуэнэнщ,
ЗэпсэгъуитӀыр зэбзэрабзэу
ГъащӀэ нэхукӀэ здэпсэунщ.
Дауэ щытми, гугъэ дахэр
Гъуэгум хуэзэу къыщеухуэ,
Ӏуэху пэщылъыр къехъулӀэным
Шэч хуимыӀэу ар мэлъатэ.
Шыгъуэ фэкъур зэщӀэплъащи
Алъпым хуэдэу щӀолъэтыкӀ,
Гъуэгу зэрыкӀуэр кӀыхь щыхъуащи

Къамбот бампӀэу хощэтыкӀ.
Абы нобэ и мурадыр
ЛӀэн е Лацэ къигъуэтынщ,
Пщы бэлыхьхэм хэмытыжу
ФӀыуэ илъагъум дэпсэунщ.
Тэлай куэдкӀэ кӀуа нэужьым,
Жыжьэу къуажэр къилъэгъуащ.
ГъуэгурыкӀуэу зы шу закъуи
А сыхьэтым къыӀущӀащ.
Шур, Къамботым и хьэщӀагъэм
Гу щылъитэм, къыбгъэдохьэ,
ЩӀыхь къыхуищӀу, щӀалэ пхъашэм
ХуэнэщхъыфӀэу, мыр къыжеӀэ:
— Уи хьэщӀагъэр къэсцӀыхуати,
Ӏуэху сыщӀежьэр къызогъанэ,
Си унэжьым усхуеблагъэу ,
УпсэхункӀи сэ солъаӀуэ.—
Псалъэ ӀэфӀыр щызэхихым,
Къамбот гуапэ къыщыхъуащ,
Ар мэпӀащӀэ, еблэгъэныр
Ӏуэху мыхъунуи къилъытащ:
— Уэ цӀыхугъэ щыббгъэдэлъкӀэ,
Уи унагъуэ себлэгъэнт,
Сезэшари пэжу щытти,
Дэ шыгъу-пӀасти зэдэтшхынт.
Ауэ нобэ Ӏуэху пӀэщӀэгъуэ
Къызбгъэдэлъу сыкъежьащ,
ЩӀыпӀэ жыжьи сыкъикӀауэ
Аслъэнокъуэм хуей сыхъуащ,—
ЩыжыриӀэм, шур жыӀэщӀэу,
Хэгъэрейти, дэкӀуэтащ,
ЗыщӀэупщӀэм и унагъуэр
НаӀуэу, ӀупщӀу жыриӀащ.

               ***

Къуажэр щӀытӀу къатӀыхьащи
И дыхьэпӀэр лъагъуэ закъуэщ.
Я пщы Ӏэлу Аслъэнокъуэм
И унэжьыр сэху блын лъахъшэщ.
Абы и пщӀантӀэм хъуреягъкӀэ
Бор бжыхь папщӀэу щыгъэуващ
Куэбжэ закъуэр ӀэплӀакӀуищу
Жыгей сэхкӀи гъэбыдащ.
Аслъэнокъуэм и пщӀантӀэшхуэм
Ар хуэпӀащӀэу ныдохутэ,
МыупщӀэжу, щӀопщ уэ макъым
Жан къигъащтэу, шур ныдохьэ.
Бахъэр Ӏугъуэу къыщхьэщихыу
ЩӀалэ хахуэр ныщыдыхьэм,
Щхьэнтэтесу гуащэ нысэм
Абы щӀэхыу гу щылъитэм,—
Къыщолъэтри пщIантIэдэтыр
А сыхьэтым зыбгъэдешэ,
А шу мафӀэр ямыцӀыхуу
ХьэщӀэщ лъахъшэм щӀырегъашэ,
ХьэщӀэ щӀалэм унэӀутым
Фадэ пӀащӀэр къыхущӀехьэ,
Ефэн ипэ: «Аслъэнокъуэр
Дэскъэ?» — жиӀэу ар щӀоупщӀэ,
Зиусхьэныр мазитӀ хъуащи
ЗекӀуэ щыӀэу къыхуеӀуатэ.

                 ***

ЩӀалэ хахуэм пщыр дэмысу
ЩищIэм, фалъэр егъэувыж,
Жыр сэшхуэжьыр ибг ищӀауэ
ПсынщӀэу, Ӏэдэу къотэджыж:
— Сэ ефакӀуэ пщым и унэ
СыкъэкӀуакъым, мыр щӀэхыж!
НапщӀэхэшым и тхьэщӀэпсыр
Зэспэсакъым, кӀуэи жеӀэж!
Аслъэнокъуэр къэзгъуэтамэ,
Сепсэлъэну сыкъэкӀуат,
ЗекӀуэлӀокъуэщ си унэцӀэр,
И щхьэр схьыну сепсыхат!
ЖиӀэу щӀалэр зэгуэпауэ
Шагъдий псыгъуэм шэсыжащ,
Къуажэм пцӀащхъуэу дэлъэтыжри

Жыгей мэзым щӀыхьэжащ.
ЖаӀэж быдэу: — къуажэр Къамбот
КъигъэнэхукӀэ гуащэр плъауэ,
Уардэ хуэдэ плӀабгъуэ псыгъуэм
И сурэтым дихьэхауэ.
Къуажэдэсу зылъэгъуахэм
И шыр алъпу яӀуэтауэ,
ПэщхъынитӀым къыриху бахъэр
МафӀэ бзийуи я гугъауэ.

          * * *

Махуэ гуэрым щакӀуэ лӀыжьыр
Мэзым щакӀуэу ныщыщӀыхьэм,
Псыхьэ кӀуауэ Лацэ дахэр
Псынэ Ӏуфэм зыдыӀутым,
Абы и псэгъу Къамбот щӀалэр
Нэгум щӀэту мэгупсысэ,
Псы къихьынур щыгъупщащи
Нэпсыр псынэм ныхегъаткӀуэ.
Псынэ щӀыӀэм Лацэ и бампӀэр
Щыдихащи зыкъещӀэж,
Нэпсу напэм къежэхахэр
А псы къабзэм хетхьэщӀэж.
А сыхьэтым и щӀыбагъкӀэ
Къуацэ-чыцэр къыщохъей,
Гупсысейхэр щигъэгъупщэу
Щтауэ псынщӀэу къыдоплъей.
Хъуакъым: Лацэр Аслъэнокъуэм
Зэкъуэхуауэ къегъуэтыж.
Жыгей мэзым щӀолъэдэжри
Зимытыну ар щӀопхъуэж.
Къуацэ-чыцэм хэмыжыфу
Куэд имыкӀуу ар мэджалэ,
Пщы Ӏэлыжьыр и гъуситӀым
ЩӀыгъуу абы кӀэлъыщӀопхъуэ.
Аслъэнокъуэм и лӀы фащэр
Быхъуу щыгъщи зэщӀаубыдэ,
Даущыншэу ар мэхащи
ЗимыщӀэжу шыплӀэм далъхьэ.

Адэ папщӀэ щакӀуэ лӀыжьым
Ар къимыщӀэу яхьыжащ,
И жагъуэгъухэм я къапхъэным
А тхьэмыщкӀэр ихуэжащ.
КӀэсыр къахьу а шу гупыр
Тэлай къомкӀэ кӀуа нэужьым,
Мэз жыг кӀыфӀыр зэранэкӀыу
Ахэр тафэм щытехьэжым —
ЗэхоувыӀэр еруужьхэр,
Лъапэм псори къыщопсых,
Лацэ цӀыкӀуи зэхэуауэ
А сыхьэтым къырахьэх.
Пщым и фащэу Лацэ щыгъхэр
И гъуситӀым къыщатхъыж,
Бостей пӀащӀэр чэтхъэжауэ,
Щхьэцхэр щӀакӀуэу къыщӀощыж.
Аслъэнокъуэм зишxыxьыжу
Пщащэ цӀыкӀум щхьэщоувэ,
ЩӀопщыр мащӀэу игъэдалъэу
А бзаджэжьым мыр къеӀуатэ:
— Сыт, напэншэ, дэ лӀы гупым
Ӏуэху емыкӀур къыщӀыдэпщӀэр,
Мэз къуейщӀейхэм ущӀыхьэжкӀэ
УнэӀутым пщIэн уи гугъэр?
ЩӀэхыу жыӀэ, хэт и пщыӀэ
Нобэ къэскӀэ ущыӀа?
Зипщ ӀэщIэкӀыу щӀэпхъуэжар -уэ
УигъэпщкӀуну хэт хуежьар?
Гурыщхъуэншэу, къулъкъэшхъэным
Уэ и пщыӀэм утесащ,
ПщылӀ сэхъуауэ Темботыжьым
И жьэгу фӀейми удэсащ…—
ЖиӀэу пщыжьым и гъуситӀым
Хуэплъэу псалъэр егъэкӀыхь,
И ныбжь бийуэ лӀыхъу Темботым
И хьэщӀауэ шэч къыхуехь.
— ФӀыуэ фощӀэ, Темботыжьыр
Зыкъом щIауэ сэ си бийщ,
Щэхуу пщылӀхэр сфӀигъэсэхъуу,
Пэж фыхуеймэ, ар си Ӏейщ.

Сэ си гугъэщ мы хъыджэбзыр
А напэншэм и хьэщIауэ,
А бзаджэжьым-сэкӀеижьым
Мыр хуэкъану щытыпауэ. —
ЩакӀуэ лӀыжьым лӀыгъэу хэлъыр
Аслъэнокъуэм фӀыуэ ещӀэ,
Лъы щӀэжынкӀэ ар гъэпщкӀуауэ
Къещэу щытщи — ныщошынэ.
Ауэ «лӀыгъэр» кӀийрэ гуокӀэ
ЦӀыхубз пащхьэм щегъэлъагъуэ,
ЩакӀуэ лӀыжьыр къигъуэтыфмэ,
ИукӀынуи тхьэ яхуеӀуэ.
Сыт хуэдизкӀи пщыр ткӀиями,
Пщащэ цӀыкӀур хуэшынакъым,
Ар зи пщыӀэ щыпсэуари,.
СыткӀи дзыхэу, къиӀуэтакъым.
Куэд дэмыкӀыу шу ерухэр
Я гъуэгуанэ техьэжащ,
Зиусхьэным пщащэ пщафӀэ
Гуащэм хуихьри нэсыжащ.
Аслъэнокъуэм и шу гупыр,
ЗагъэлӀыфӀхэу, щепсыхыжхэм,
Къуажэм Ӏуэхуу къыщыхъуахэм
Пщы ябгэжьыр щыщӀэупщӀэм,
ЗекӀуэлӀокъуэм и хъыбарыр
ЩӀэмыхьэжу къыхуаӀуатэ,
«Аслъэнокъуэр игъуэтами
Е ищӀэнут»,— къыжыраӀэ.
ЗекӀуэлӀокъуэм и хъыбарым
Пщыр хуэхъущӀэу зегъэлъагъуэ,
Абы и лъапсэр игъэгъунуи
ПщылӀ зэхэтхэм яхуодалъэ.
А сыхьэтым гуащэнысэм
Саугъэтыр ныхущӀашэ,
НапщӀэхэшым зыхуигъэщхъыу
Хъыджэбз дэгъуэр жьэхоувэ.
Щхьэнтэ щабэм зыдытесым
Псэм и жагъуэу зегъэтӀатӀэ.
И напщӀитӀыр хигъэлъэту
Зигъэбэгыу мыр къыжеӀэ:

— Си жыхафэм нэмысыфӀэу
Утетыну си унафэщ,
Си Ӏуэхуфэм укъемыкӀумэ
УсщэжынкӀэ, сэ си тобэщ»…

                     ***

Гъэшынэныр имыухыу,
Аслъэнокъуэр щӀыхьэжащ,
Хыв джабэцу жьакӀэ цӀырхъым
ГуфӀэу, пагэу епӀэстхъащ.
Зыхуигъэхъуу, зигъэбэгыу
И щхьэгъусэм бгъэдоувэ,
ЗэщӀэплъарэ зэгуэуду
Лацэ цӀыкӀум ныжьэхоплъэ:
— Мы щыт пщащэр унэӀуту
Махъэшокъуэм къуитыжащ,
Бжыгъэ имыӀэу бэлыхь куэди
Сэ мы цӀыхум дэсшэчащ.
СыщымыIэу ЗекӀуэлIокъуэу
Ди хьэщӀэщым щеблэгъам,
Фадэ пӀащӀэм къыпхуемыфэу
Силъ щӀэфыну жызыӀам,
И къэшэну мы хъыджэбзыр
ФӀыуэ илъагъуу щытыгъащ,
Напэншагъэу, ипщ имыщӀэу
Мыр дэкӀуэну и гугъащ.
Сэри, Лацэ, а уи псэгъум
КӀэщӀкӀэ и щхьэр къыфӀэсхынщ,
ЗекӀуэлӀокъуэм удэкӀуэным
Сэ уи гугъэр хозгъэхынщ.
А хьэм и къуэм, сыдэмысмэ,
Фызхэм лӀыгъэ хузэрехьэ,
Си щхьэр ихьу ар кӀуэжыну
Къосри гуащэм къыхуеӀуатэ…
Гуащэнысэм зыхуигъэлӀу
ЛӀыгъэжь къуэлъу зегъэлъагъуэ,
И жагъуэгъум гугъуей хуищӀкӀэ
ТекӀуа хуэдэу зегъэпагэ.

                 ***

Дауэ зищӀми, Аслъэнокъуэр
ЗекӀуэлӀокъуэм игъэщтащ,
ПщӀантӀэм дэтхэм яӀуэтамкӀэ,
Ар шынагъуэу гурыӀуащ.
Пщым и лӀыгъэр гуащэ нысэм
ЖьэкӀэ быдэу щыфӀигъэщӀым,
И пащӀитӀыр иӀуэнтӀэжу
Ар, зигъэхъуу, щыщӀэкӀыжым,
ХьэщӀэщ гупэм мэувыжри
Тэлай къомкӀэ мэгупсысэ,
ЗекӀуэлӀокъуэр хуэмубыдмэ,
Мыпсэуну игу ирелъхьэ.
Ар шынами, зигъэлӀыхъуу
ХьэщӀэ куэдхэм яхохьэж,
Жыхафэгум пщафӀэ тетхэм
Яхуогубжьри къыщӀехуж.
Аслъэнокъуэр къэкӀуэжати,
И блыгущӀэтхэр зэхуэсащ,
Пщы бейгуэлхэр нэфӀэгуфӀэу
ХьэщӀэщ лъахъшэм щӀэз къэхъуащ.
«ЕжьэхункӀэ кӀэс къихьыфу,
Фадэ-шхынхэм ар щымыщӀэу,
ПщылӀхэм я анэр игъэгуӀэу,
Дахэу яӀэр къатырихыу,
Зэрыхуейуэ пщыр псэуну»,—
Йофэ, ахэр къыхуохъуахъуэ.
Аслъэнокъуэм зигъэбэгыу
Ибг ищӀахэм тоуӀуэж,
Жаным кӀэсу къыхуихьауэ
Лацэ дахэм щӀопэгэж.
Псом хуэмыдэу Ашэжьокъуэр
Ипщ ныбжьэгъущи къонэӀуахуэ,
«Дахэ хуэхькъэ… унэӀутыр»,—
ЖиӀэу абы догушыӀэ.
Ешхэ-ефэр ягъэхуабжьу
ПцӀыуэ щытхъухэр зэжыраӀэ,
Пщым жаӀахэм тхьэ щаӀуэжм
И бейгуэлхэр къыхуохъуахъуэ.

Ауэ Лацэ и гуӀэгъуэм
ПщылӀхэм я фэр зырегъалъэ
Леи къалъысхэр жамыӀэфми
Заущэхуу мэдзэлашхэ.
Аслъэнокъуэм зимыгъэӀуми,
Къамбот шынэ къыритащ,
Абы псалъэу къигъэнами
Егупсысу еплъыхащ:
«ЛъхукъуэлӀ шухэр къэгубжьамэ,
Щыблэ уэкӀэу мэзэуэф,
Афэ джанэ ящымыгъми,
Джатэр Ӏэзэу ягъэбзэф.
Сэ ар псэууэ сытыншынкъым,
Ауэ Ӏэмал сыхуеуэнщ;
Пщы, беигуэлхэм яжесӀэнщи
ИмыщӀэххэу ӀудгъэкӀынщ».
Тэлай тӀэкӀукӀэ мыпсэлъэжу,
Жеям хуэдэу, гупсысащ,
Ашэжьокъуэу къыбгъэдэсыр
Абы къеплъри мыр жиӀащ:
— СлӀожь, хуэмыхум, кӀэс къэпхьакӀэ,
Гупым уи пӀэр яхэпщӀэну,
Хьэмэ, гуащэр уигу къэкӀауэ,
Жей нэпцӀ зыпщӀу укӀуэсэну? —
А сыхьэтым дыхьэшх щӀыкӀэу
И щхьэр псынщӀэу къеӀэтыж,
Жыхафэгум тет и пщылӀхэр —
Ӏуэху щэху иӀэщ — къыщӀехуж.
И пащӀитӀым Ӏэ ныдилъэу,
И гум илъхэр нахыжеӀэ,
Къамбот щхьэкӀэ Ӏуэху щэху иӀэр
ИӀуэтэну къырегъажьэ:
— А напэншэм бзаджэ жиӀэу
ДэкӀыжауэ яӀуэтэж,
Щхьэпыгъэжу къысхуэкIуауэ
ЦӀыху
щытахэм къызжаӀэж.
ПӀалъэ имыӀэу а еӀуящӀэр
УкӀын хуейуэ сэ солъытэ,
Лъытэныгъэ тхуэзымыщIхэр_
ЩӀэхыу
лӀэнуи сэ жызоӀэ…
Абы и псалъэр Ашэжьокъуэм
Щызэхихым, мэдыхьэшх,
Имыхабзэу, ауан ищӀу
Жыр сэшхуэжьыр ибг ирех:
— Аслъэнокъуэр ущӀэпсалъэр
ЦӀыху си гугъэу седэӀуаи,
Сэ Ӏэщэншэу мин апхуэдэу
Си ӀэмыщӀэм испӀытӀаи.
Къэгъуэт закъуи, сэ бжызоӀэ,
Ауэ ӀэкӀэ пхуэстхьэлэнщ,
Къупщхьэлъапщхьэ къыхэзмынэу
Си ӀэгуитӀым пхуисхьэжэнщ.—
Джеижь хуэдэ, пщы гъум кӀэщӀыр
ИбгъукӀэ щылъым теуӀуащ,
Нэху зэрыщу, и лъыхъуакӀуэ
Зэдежьэнхэу тхьэ яӀуащ.

                     ***

ЩакӀуэ лӀыжьым бланэр къихьу
ПщыӀэ быдэм щытехьэжым,
Ар щӀыунэм ныщӀыхьэжри
Лацэ цӀыкӀур щимыгъуэтым —
КъыщӀокӀыжри пщыӀэ гъунэр
Гужьеяуэ зэхекӀухь,
Ар псыхьыпӀэм щыдэлъадэм —
Хъыдан тхъахуэр къегъуэтыж.
Хъыдан тхъахуэр Лацэ цӀыкӀум
И кӀэ къуащӀэм къыпытхъат,
ХъуреягъкӀэ шы лъэужьхэр
Джабэ нэкӀум тыридзат.
ЩакӀуэ лӀыжьым бий лъэужьыр
Гурыщхъуэншэу ицӀыхуащ,
ЖьакӀэ хужьым епӀэстхъыжу
Гузэвэгъуэр къылъысащ:
«Мы напэншэм шэр Ӏурыжу
Си щӀалищыр иукӀати,
КъызищӀамкӀэ зимыгъэнщӀу
Сэ шхыныгъуэ сыхуэхъуати.
Хъуакъым… Абы и жэуапыр
Нэху зыдэщым сэ естынщ,
Е сэ си псэр тыгъэ сщӀынщи
Дуней гъащӀэм сыпыкӀынщ»,-
ЖиӀэу лӀыжьыр мафӀэм ису
ЩӀыунэжьым щӀотӀысхьэж,
Бжэн пшэрыхьу къищэкӀуари
ЗэӀимыхыу къегъэнэж.
А пщыхьэщхьэм зэфӀимыхыу,
ЗэхикӀухьу ар къэнащ,
Жэщыр илъэс къыщыхъуащи,
Махуэм пэплъэу — езэшащ.

                 ***

Пщэдджыжьым дыгъэ напэм
Мэзыбг жыгхэр ныӀумыплъэу,
И псэущхьэм я лъэужьыр
Удз уэсэпсхэм хэмыгъуащэу
ЗекӀуэлӀ и къуэр Ӏугъуэ закъуэм
Мычэмыфу къыбгъэдохьэ,
ЩакӀуэ лӀыжьым и щӀыунэм
Шу зэтесу ныжьэходжэ.
А сыхьэтым щӀыунэжьым
ЛӀыжь шынагъуэ къыщӀэкӀащ,
Щхьэцхэр жьакӀэм хэкӀэжауэ,
Мыщэм хуэдэу, къэгуоуащ:
— Ер пфӀэмыфӀмэ, узмыцӀыхуу
Сэ си щӀапӀэм укъимыхьэ,
ГъащӀэ ухуейрэ уеблэгъэну
Щытмэ, уи цӀэр япэ жыӀэ! —
Фоч пцӀанэжьыр къигъэпкӀащи
Къамбот и гум къырегъапщэ,
Ауэ щӀалэр ныхуэпӀащӀэу
ЛӀыжьым мыхэр ныжыреӀэ:
— ЗекӀуэлӀокъуэ си унэцӀэщ.
ХьэщӀэн хуейуэ сыкъэкӀуащ.
Ехьэх Ӏэщэр, сыгъэпсалъэ,
Сэри цӀыхум сыкъилъхуащ…
ЩыжыриӀэм, лӀыжь жьакӀэхур
ЩӀегъуэжауэ мэукӀытэж,

Жыжьэрыуэу и фочыжьыр
Хуэму бгъуэщӀым ирелъхьэж.
ХьэщӀэ щӀалэм фӀэхъус гуапэу
А лӀыжь хъыжьэр къыщекӀуалӀэм,
ЛӀы и щэнкӀэ шагъдий фэкъум
ЗекӀуэлӀ и къуэр къыщепсыхым,
Ар гъуэгуанэ зэрытетыр
ЛӀыжь жьакӀэхум къицӀыхуащ,
Дэхуэхауэ зэрыщытым
Шы жэщӀамкӀи гу лъитащ:
— Гу плъыстакъым, сэ си хьэщӀэ,
ЕмыкӀу хуабжьыр уэзлэжьащ,
Жыжьэу си нэм ущилъагъум,
Жагъуэгъу гуэру усфӀэщӀащ…—
УкӀытауэ щакӀуэ лӀыжьыр
ЩӀалэ хьэщӀэм йодэхащӀэ,
ПщӀэ ин хуищӀу, нэфӀэгуфӀэу
И щӀыунэм къыздыщӀешэ.
ЗекIуэлIокъуэр еблэгъащи,
Щыхьыл жьахэр хуегъэкӀуатэ,
Мэз тенджызым и лӀыхъужьыр
ХьэщӀэ щӀалэм къобзэрабзэ.
ЛӀыжь жьакӀэхур гъуэгурыкӀуэм.
Тэлай тӀэкӀукӀэ щыбгъэдэсым,
И ежьэныр кӀасэ хъууэ
ХьэщӀэм папщӀэ гувэ щыхъум,
Лей лъысахэм хуэнэщхъейуэ
Ар и хьэщӀэм здыбгъэдэсым,
Ӏуэху щэху иным и бэлыхьыр
Абы и щхьэм щищхьэрыуэм —
Ехэр зи гум дэгъуа лӀыжьыр
Жьэгум псынщӀэу щытэджащ,
Мычэнджэщу Ӏэщэ-фащэр
И плӀэ, ибгхэм ирищӀащ:
— Ай, си хьэщӀэу сэ си щӀалэ,
Уигу епщӀыхукӀэ зыгъэтынш,
Пшэрыхь щхьэкӀэ мэзым укӀуэу
Шхын и ӀуэхукӀэ кӀакхъу щӀумыч.
Сэ сежьэнущ. Си псэр пытмэ,
Махуэ тӀущкӀэ сыкъэсынщ,

Си псэм хуэдэу уэ си хьэщӀэм
Узыхуеири жозгъэIэнщ __
ЖиӀэу лӀыжьым саур уанэр
Шы къарэжьым тырилъхьащ,
Жыжьэрыуэу и фочыжьыр
И плӀэм илъу увыжащ.
А сыхьэтым ЗекӀуэлӀокъуэр
ЩакӀуэ лӀыжьым йодэхащӀэ,
КъыщыщӀахэр жыриӀэну
ТӀэкӀу къежьэну ар мэлъаӀуэ.
ХьэщӀэ щӀалэр ныщелъэӀум,
ЩакIуэ лӀыжьым тӀэкӀу зеӀэжьэ;
И фочыжьыр пщӀэхимыхыу
Жыг дакъэжьым нытотӀысхьэ:
— ЖыӀэ, щӀалэ, уи мурадхэр,
СлъэкӀыхункӀэ бдэсӀэтынщ,
Хэт ущыщми, узихьэщӀэщ,
Лей къуащӀами бдэсшэчынщ…—
ЗекӀуэлӀ и къуэм мычэмыфэу
И хъыбарым къыщӀидзащ,
ЩакӀуэ лӀыжьым дзыхь къыхуищӀри
КъыщыщӀахэр къиӀуэтащ.
Хъуа-къэщӀахэр икъукӀэ ӀупщӀу,
Къэт щымыӀэу щыжыриӀэм,
МыукӀытэжу щӀалэ Ӏэдэм
Къытехъуами щыхигъаплъэм,—
ЛӀыжь жьакӀэхур къыдэплъейри
Лъэтэн хуэдэу къэтэджащ,
ЩӀалэ хьэщӀэр ириджэжри
ЩӀыунэжьым щӀишэжащ.
Мис лӀыжь хахуэр, лъыщӀэжэгъуи
Игъуэтащи, нэфӀэгуфӀэщ,
ПщыӀэ кӀыфӀыр нэху щыхъуауэ,
А мэз лӀыжьым и махуэшхуэщ.
ХьэщӀэр и бгъум къыбгъурысу
Жьэгу фӀыцӀэжьым мэтӀысыж,
Джатэжь жаныр куэщӀым илъу
Илъэгъуахэр къыжеӀэж.
— ХьэщӀэу си псэ, сэ лӀыжь плъагъум
Бэлыхь куэдхэр фӀэзгъэкӀащ.

Пщыжь щыкӀахэм къызащӀахэм
Мис мы гъащӀэм сыхуихьащ.
Аслъэнокъуэу пщы Ӏэл бзаджэм
Сэ и пщӀантӀэм сыдэтат,
ПщылӀу иӀэм нэхъ жыджэруи
Си ӀэнатӀэр згъэзэщӀат.
Махуэ гуэрым а ябгащэм
Пхъэгъурышэ сы щыхуэкIуэм,
Бгы жьэгъу гуэру екӀуэкӀыпӀэм
ЛӀыри гури дыщыщыхум —
ВитӀым языр, схулъэмыкӀыу,
А сыхьэтым иукӀащ,
Сэри, си блэр икъутауэ,
Къуэм зы махуи сыдэлъащ.
Пэлъэныкъуэм лажьэ имыӀэу
Унэм бууэ къыщыкӀуэжым,
Жырым хуэдэу си щӀалищыр
Гужьеяхэу щыслъэӀэсым,—
Си щхьэр уэсым хэщ къудейрэ
Сыдияуэ сыкъащтэж.
Набжэм телъу, зэщӀэпхауэ
Пщым и пщӀантӀэм сыкъахьыж.
Мис а махуэм пщылӀхэр псори
Гузэвахэу къызэхуос,
Псом хуэмыдэу щӀалэ цӀыкӀухэм
Я анэжь мыгъуэр мафӀэм ес.
Махуэм, пэжу, пщым и пщӀантӀэм
Пхъэ дэмылъу хьэщӀэ иӀэт,
Къэгубжьати, гущӀэгъуншэр
ПщӀантӀэм дэтхэм яхэхъуанэрт.
Абы хэту еруужьыр
Гъуэмбырэщым къыщӀолъадэ,
Сэ дияуэ сыздыхэлъым
ЩӀопщыр си щхьэм тырекъутэ.
Си щхьэгъусэм а сыхьэтым
Гужьеяуэ яку зыдедзэ,
Дзы имыӀэу, щтэм къыхэкӀыу,
А тхьэмыщкӀэм и псэр щенэ.
Ар си быным яхуэмыхьу,
Аслъэн хуэдэу щызэдилъхэм,

Ӏэуэлъауэм хьэщӀэ къомыр
Пщым и къуэдзэу къыщыхишэм

ПщылӀ Ӏэщэншэу си щӀалищри
Анэ бгъуэщӀым щыгъуэлъащ,
Лъыр къащӀэжу жыхафэгум
Мыушынхэу тежеящ.
Сэ а махуэм слъэгъуа гуауэм
Дауи цӀыхуу сыкъела?
Лажьэ ямыӀэу лӀа бынунэм
Щхьэ яужьи сыкъина? —
ЩакӀуэ лӀыжьыр гумэхащи,
Нэпсхэр нэкӀум къытолъадэ,
Зиущэхуну и мурадми,
ЖьакӀэ хужьым фӀыхолъадэ.
ЛӀыжь тхьэмыщкӀэм и хъыбарым
ЗекӀуэлӀокъуэр хигъэплъащ,
Щыгъуэ щӀыкӀэу набдзэ жанхэр
Аслъэн пщэцу къэтэджащ.

               ***

Куэд дэмыкӀыу лӀыжь жьакӀэхум
И щхьэр занщӀэу къеӀэтыж,
Нэпсхэр хуэму елъэщӀыжри,
ЛӀыгъэр и гум къегъэкӀыж:
— Арщи, си псэ, сэ бэлыхьу
Къыстехъуахэр схуэухынкъым,
А бын хейхэм ялъ сэ сщӀэжми
Си гум бампӀэр дэкӀыжынкъым.
Аркъудейкъым: пщӀантӀэ бзаджэм
ПщылIу Ӏэджи дэкӀуэдащ,
ЩӀалэ жанхэу, сэ си телъхьэу,
ЦӀыху зыбгъупщӀи хьэдэ хъуащ.
Сэ си Ӏуэхур абы тету,
ЗекӀуэлӀ и къуэ, къекӀуэкӀащ,
Силъ сщӀэжыхукӀэ сыщӀэсыну
ЩӀыунэжьыр сыухуащ.
Зыкъом хъуащи мы щӀыунэм
Сэ лӀыжь закъуэр сыщопсэу,

Зиусхьэни пщыжь ерууи
Сымылъагъуу сыщоулэу.-
Ауэ лӀыжьым Лацэ и Ӏуэхур
ИӀуэтэну щоукӀытэ,
КъыращӀахэр гъусэ имыӀэу
ИщӀэжыным ар хуопӀащӀэ.
ЗекӀуэлӀокъуэр лӀыжь жьакӀэхум
КъыщыщӀахэм щыщӀэдэӀум,
Лацэ и Ӏуэхур иущэхуами,
Зытет дыдэр щыгурыӀуэм,—
И фэм хэщу а сыхьэтым
ЩӀалэр занщӀэу зэкӀуэкӀащ,
ЛӀыжь жьакӀэхум, епӀэщӀэкӀыу,
Мыхэр тэджри жыриӀащ:
— Дадэ, нобэ къыплъысахэр
Си щхьэ Ӏуэхум изолъыт,
ЛъыщӀэжэгъуу сыпкъуэтыну
Псалъэ быди сэ узот.
Нэщхъеягъуэу къыббгъэдэлъыр
Ди зэхуэдэу суригъусэщ,
А уи къуищым сыреплӀанэу
Сэри нобэ сурищӀалэщ.
ЩӀы унафэ, дымыгувэу
НакӀуи ди бийм датегъауэ,
Гъэр къэдгъэщӀи Аслъэнокъуэр
ШыплӀэм дэлъу къедгъэхьэжьэ! —
ЩакӀуэ лӀыжьым нэжэгужэу
ЖьакӀэ хужьым Ӏэ дилъащ,
НапщӀэ тхъуахэр хигъэлъэту
Къамбот мыхэр жыриӀащ:
— Аслъэнокъуэм и унагъуэм
ТӀасхъэу илъыр зэзгъэщӀэнщ,
Уэ ухьэщӀэщ, хъыбар пщӀэхукӀи
Зыбгъэпсэхуу ущысынщ.
А бзаджэжьыр дэ ди бийми,
ПщӀантӀэм дэтхэр дэ ди къуэшщ;
Хъыбарыншэу датеуэнкъым,
ПщӀэну щыткъым, хей кӀуэдынщ…—
ЗекӀуэлӀокъуэм а унафэр
ФӀэфӀ мыхъуауэ зиущэхуащ,

ХьэщIэ щӀалэр зыдимышэу
ЛӀыжьыр шэсри гъуэгу техьащ

                    ***

Мэз лӀыхъужьыр, лъэтэн хуэдэ
И гъуэгуанэм ныхуопӀащӀэ,
Къыр къуейщӀейхэр зэпиупщӀу
Шы къарэжьым йогухащӀэ.
Гъуэгу здытетым и щӀалищыр
Ныбжьу нэгум къыфӀыщӀохьэ,
Ахэр лӀахэу жыхафэгум
Щытелъахэм хотэразэ.
Ар гупсысэм иубыдауэ
Къуэри бгыри зэпеупщӀ,
Шы къарапцӀэм и пщӀэнтӀэпсым
Афэ лъейхэр псыф къыфӀещӀ;
ЛӀыжь жьакӀэхур, нэхущ кӀыфӀу,
Пщым и щӀапӀэм ныбгъэдохьэ,
И хьэщӀэщым уэрэд макъыу
КъыщӀэӀукӀым ар йодаӀуэ.
Уэрам кӀуэцӀым, куэбжэ гупэм,
ЛӀыжьыр щэхуу щувыӀащ,
ПщӀантӀэм дэтхэм гу лъамытэу
И ныбжьэгъур къыриджащ.
Аслъэнышхуэу лӀы гъур фӀыцӀэр
НэфӀэгуфӀэу къыбгъэдохьэ,
И псэм, и нэм Тембот хуихьу,
И ныбжьэгъущи къобзэрабзэ.
ФӀэхъус нэужьым лӀыжь жьакӀэхуу
Тембот дадэ бийм щӀоупщӀэ,
И ныбжьэгъуу Аслъэнышхуэм
ГущӀагъщӀэлъу мыр къеӀуатэ.
— Аслъэнокъуэм зекӀуэ гъусэу
ХьэщӀэ куэдхэр къыхуэкӀуащ,
Щысхэм псоми я нэхъыщхьэу
Ашэжьокъуэр къыраджащ.
Пэж ухуеймэ, а пщы гупым
Я мурадыр фаубыдынырщ,
ЩакӀуэ пщыӀэу мэз тенджызым

Щыбухуари ягъэсынырщ.
ЗекӀуэлӀокъуэр уэ уи гъусэу
ЯщӀэхащи бэр ягъэш,
ШыплӀэм дэлъу фыкъахьыну
Тхьэр пщӀэ яӀуэу зызэфӀаш.
ЗекӀуэлӀокъуэм и къэшэныр
Аслъэнокъуэм къыратащ —
УнэӀуту пщащэ дахэр.
Пхъэхьэ-псыхьэу Ӏуагъэуващ…

                        ***

Ӏуэхур псори зэрыщытыр
ЛӀыжь жьакӀэхум щыгурыӀуэм,
ЗекӀуэ шухэу а пщы гупым
Къару яӀэр фӀыуэ щищӀэм,—
Аслъэнышхуэу ныбжьэгъуфӀым
Гурэ псэкӀэ дочэнджащэ,
Щэху зищӀыжу а лӀыжь хахуэм
Ныбжьэгъу пэжым мыр жыреӀэ:
— ЗэрегуакӀуэщ къыттеуэнум,
Дэ жэуапыр еттыфынщ,
Пщыхэр гуфӀэу къэкӀуэжыфым,
Я насыпщи, ялъагъунщ.
Аслъэнышхуэ, ныбжьэгъу пэжу
Усхущытмэ, сэ къызжыӀэ.
Ахэр Ӏуэхукъым, ауэ нобэ
Си гукъеуэр здэгъэзащӀэ.
Си щӀалищым ялъ сщӀэжыну
Пщым и пщӀантӀэм сыкъэкӀуащ,
ЛӀыгъэу пхэлъыр згъэунэхуну
Сыпщыгугъыуи сепсыхащ.
ХьэщӀэ гупым уахыхьэнщи
Аслъэнокъуэр къыщӀэпшынщ,
Лацэ цӀыкӀуи си хъыбарыр,
УӀущӀэнщи, ебгъэщӀэнщ:..—
Ар щыжиӀэм, Аслъэнышхуэр
Тэлай тӀэкӀукӀэ еплъыхащ,
ЛӀы гъур хахуэм, тегушхуауэ,
Мы жэуапыр къитыжащ:

— Уэ ущылӀэм сыпсэуну
Махуэ закъуи сэ сыхуейкъым
КъызжепӀахэр сымылэжьми
Уэ хьэлэлуи сыпхущыткъым…—
Аслъэнышхуэм а сыхьэтым
ПсынщӀэу пщӀантӀэм къегъэзэж
Куэбжэм щыту Аслъэнокъуэм
Ӏэщэ иӀыгъыу ар хуозэж:
Псыжь къикӀауэ хьэщӀэ гуэрыр
Чом и щӀыбкӀэ уэ къыппоплъэ,
Уилъагъуну, пхуэгузавэу,
Къеблэгъэну абы жеӀэ,—
Аслъэнышхуэм пщэрылъ псалъэр
Аслъэнокъуэм щыжыриӀэм,
ЩакӀуэ пщыӀэм къикӀа лӀыжьым
Ар имыщӀэу щыбгъэдыхьэм, .
Щхьэмыгъазэу лӀыжь жьакӀэхур
А пщы ябгэм къыщицӀыхум,
Хуэмубыду и фочыжьым,
Щтати, пщӀэншэу шэр щыфӀикӀым —
Тембот щӀэхыу а бзаджэжьым
Фочыр и бгъэм треубыдэ,
Удын жагъуэр ирихыным
Япэ щӀыкӀи мыр жыреӀэ:
— Аслъэнокъуэм къэрабгъэшэр
КъызэбдзакӀэ сэ сихьынт,
Хьэм еплъыту букӀа бынхэр
Сэ уэ бзаджэм пхуэзгъэгъунт?!
Мэ, уи Ӏыхьэр убыдыжи
ЩӀым и щIагъым щыгъуэлъыж,
ЖанцӀыкӀу сымэ уи фэеплъуи
Кхъэ лэгъунэ егъэщӀыж!..
ЖиӀэу лӀыжьым, щыблэ уэкӀэу,
Фоч музэщхъур жьэхегъауэ,
Удынышхуэм хуэуа макъым
ПщӀантӀэм дэтхэр къыхущӀопхъуэ

          * * *

Ажалышэр къытехуащи
Аслъэнокъуэм и пкъыр мэж,
Ерыжыбым и макъ гуащӀэм
ПщӀантӀэм дэтхэр хузэблож.
ЩтэӀэщтаблэу Лаци пщӀантӀэм
Гуащэм щӀыгъуу къежэжьащ.
ЛӀыжьыр и гум щигъэхьэщӀэу
ПщӀантӀэм дэжхэм хэлъэдащ.
Абы хэту Тембот Ӏэдэу
ПсынщӀэу куэбжэм ныдолъадэ,
Зэхэзежэу и къан дахэр
Зэрызехьэм къыщепхъуатэ.
ЛӀыгъэ зиӀэм ящыщ лӀыти —
Тембот щэхуу къыдэжакъым,
Къэрабгъафэу, дыгъуа хабзэу
Пщым и пщӀантӀэр къигъэнакъым:
— Аслъэнокъуэр сыукӀащи
Ашэжьокъуэм схужефӀэж,
СщӀар гущӀыхьэ къыщыхъуамэ,
Жыгей мэзым сыщӀохьэж!..—
ЩӀопщ уэ макъым пщӀантӀэ иныр
Къыдэпсалъэу къыдэжащ,
Жыгей мэзыр зи унапӀэм —
Къыракуакъым, лъэтэжащ.

           * * *

ЩакӀуэ лӀыжьыр, бахъэ хихуу,
Жэщу пщыӀэм къытохьэж,
ЗекӀуэлӀокъуэр бжэӀум Ӏуту
Езым къежьэу ныӀуощӀэж.
ЛӀыжьым и лъыр ищӀэжащи
НэфӀэгуфӀэу къопсыхыж,
Жан и пащхьэм ита Лаци
ЩӀыунэжьым къыщӀешэж.
Тембот дадэу лӀыжь мыгъазэр
НэфӀэгуфӀэу мэбзэрабзэ.
Хабзэм тетщи адэ папщӀэм
НыбжьыщIитIыр ныщоукIытэ.
ЛӀыжьым лӀыгъэу зэрихьахэр
Къамбот ину егъэщӀагъуэ,
Ар къигъанэу илэжьахэм
ЩӀэупщӀэнуи фӀэмыигъуэ.

                    ***

Ахэм нобэ гуфӀэныгъэу
Ягъуэтахэр Ӏуэтэгъуейщ,
ЗэпсэгъуитӀым нэщхъыфӀагъэу
КъайхъулӀахэр лъытэгъуейщ.
Ауэ Къамбот езыр мыкӀуэу
Къэхъуа Ӏуэхум хуодзыхэж,
ФӀыуэ илъагъуу дахэ цӀыкӀум
ЖьэхэплъэхукӀи игу зобгъэж.
Тембот дадэр езэшати,
Куэд дэмыкӀыу хэжеящ,
ЗэIущащэу ныбжьыщӀитIыр
Жьэгу фӀыцӀэжьым тӀысыжащ.
Дуней гъащӀэр тхьэмыщкӀитӀым
Нобэ закъуэрщ щацӀыхуар,
Пщы унафэ къыхэмылъу
Зэпсэлъэфу щыщӀадзар.
КъекӀуэкӀахэр ныбжьыщӀитӀым
ЗэхуэпӀащӀэу яӀуэтэж,
Жанхэм, пщыхэм я бэлыхьхэм
Зэгуэуду хуошхыдэж

               III

Уафэ щхъуантӀэм и вагъуэхухэм
Я фэр пыкӀыу щыхуежьам,
Жыг пщӀащэбэм я бзу цӀыкӀухэр
Дыгъэм пэплъэу щыушам,—
ПщӀантӀэ иным хъуреягъкӀэ
Шыхэр тӀуащӀэу щыфӀэдзащ,
ЩӀым едзакъэу гуащэнысэр
ГуӀэу щӀыбым щыхэхуащ.
ХьэщӀэщ лъахъшэм ефэ Ӏэнэр
Щузэдауэ къыщӀонэж,
Жылэм я пщыр яукӀащи
ФэкӀэ цӀыхухэм ягъеиж.

                ***

Аслъэнокъуэм зекӀуэ Ӏэщэр
Мыхъеину фӀидзэжащ,
Жан гуӀэгъуэр лъыкъуэкӀащи,
Щыгъын фӀыцӀэр щитӀэгъащ.
«ЛъхукъуэлӀ фочым Аслъэнокъуэм
Щхьэ лъы джанэ щитӀэгъэф?
ХьэӀусафэу Темботыжьым
Дауэ хъууэ къыдикуф?» —
ЖаӀэу пщыхэр зэгуэпауэ
Бо кӀыхь зэвым щочэнджащэ,
Я хьэщӀэгъуэм къатехъуамкӀэ
Гуащэнысэм ныщоукӀытэ.
Пхъэр кӀуа шухэр, нэху щыпауэ,
Хъыбарыншэу къыдохьэж,
Жылэр псори зэхуэсащи
Ягу мыузу мэпыхьэж.
Ашэжьокъуэм сэшхуэ Ӏэпщэр
Икъузыжу мэдзэлашхэ,
ПщылӀхэу пщӀантӀэм щызэблэжхэм,
Ишхын хуэдэ, яжьэхолъэ…
«Ашэжьокъуэм и ныбжьэгъур
ЛъхукъуэлӀышэм дэджэлащ,
Лацэ хуэдэр кӀэс къыхуащӀу
КъэкӀуэжынми ар пыкӀащ.
Щхьэ телъыджэ Аслъэнокъуэр
Нобэ Тембот къиукӀамэ?
Ягъэ кӀынкъым, игу зэгъэнкъэ,
Бынхэм я лъыр щищӀэжакӀэ!» —
Аслъэнышхуи гуфӀэщащи
Бэкхъ блын къуагъым игу щыхохъуэ.
Пщы щыкӀахэм я бэлыхьым,
Щэху зищӀыжу, ар хущӀоджэ.

                 ***

Пщым и хьэдэм щӀакӀуэр телъу
ХьэщӀэщ кӀыфӀым къыщагъей,
Бийм кӀэлъыбгэу гуащэнысэм

ГуӀэ гъыбзэр дырешей.
Хьэдэм и бгъур «зекӀуэлӀ гупым»
ХъуреягъкӀэ къаувыхь,
Щхьэнтэтесу гуащэнысэр
Бжэрэ гуӀэу толъэщӀыхь:
— УезгъэжьэхукӀэ гуартэр пщӀыгъуу
УкъэкӀуэжу ущытат,
Пщащэ дахэр уэ уи кӀэсуи
Уепсыхыжу укъэсат!
Къалмыкъ хъанхэм уи жыр джатэр
Хэбгъэбзыхьу щыщытам,
Лъыр щыжауэ Къащкъэтауми
ЛӀыхъужьыгъэу уэ къипхам
Я уэрэдхэр уэ уи ужькӀэ
Сэ фэеплъу къысхуонэж,
Уи жаныгъэр ТӀуащӀэ псоми
ЩыбгъэӀуауэ уэ уожьэж.
Ауэ нобэ схуэмыхьыжыр
ЛъхукъуэлӀ Ӏэщэу узыхьарщ,
Хьэ укӀыкӀэу куэншыбыжьым
Ухэзынэу ежьэжарщ…
ХулъэмыкӀыу гуащэнысэм
Нэпсыр уэфу нэкӀум тохуэ,
Махуэ дахэу дигъэкӀуахэр
Игу къокӀыжри ар мэгуӀэ.
Ашэжьокъуэу и ныбжьэгъури
ЛъхукъуэлӀ Ӏэщэм щышынащ,
И щхьэ щытхъуу, хъущӀэу щытми,

Лъы щӀэжыныр гугъу щыхъуащ:
«Темботыжьыр лъхукъуэлӀ лӀыжьми,
СылӀэнщ жиӀэу пхуэшынэнкъым,
Зэкъуэхуауэ укъигъуэтмэ,
УцӀыхущ жиӀэу къоплъыхэнкъым.
Дауэ хъуну? Зыдгъэхъеймэ —
ПщылӀхэм Тембот я гущӀэлъщ,
Лъы мыщӀэжу си пӀэ сисми
Ари сэркӀэ емыкӀу инщ.
Нобэ хуэдэу Аслъэнокъуэм
ПщылӀ щӀалищыр щиукӀам,
Бунт къикӀахэр тхуэмувыӀэу

Бэлыхь Ӏэджи щытшэчам,—
Сигу ихуакъым дэ шынагъуэу
А пщылӀ куэдым къыдатар,
Дэ къытщыщу пщы къалъхуахэу
Хьэргъэшыргъэм хэкӀуэдар.
Дауэ сщӀыну? Мыр сэ згъэгъумэ,
Гуащэ щхьэпцӀэм сыт жиӀэн,
ЗиусхьэнкӀэ сэ къызэджэу
Дауи пщыгъэ зесхьэжын?» —
Ашэжьокъуэр пщӀыхьым хуэдэу
А гупсысэм къыхохуж,
Фэр пыкӀауэ, хьэлъэ-хьэлъэу,
НапщӀэ уахэр къеӀэтыж:
— Жан, си шыпхъуу сэ си дахэ,
Нэщхъеягъуэр ди зэхуэдэщ,
ПщитӀ къалъхуари хьэм щишхакӀэ,
Уэркъми пщыми ар ди напэщ.
Аслъэнокъуэу си ныбжьэгъур
Нобэ лӀами, куэд угъащӀэ,
Лей тщыщӀами и жэуапыр
ТтыжыфынкIи ныбжыдоIэ.
ЦӀыху къилъхуахэу уэркъи пщыи
Жылэм дэсыр дгъэлъыхъуэнщ,
Тембот щакӀуи, Къамбот, Лаци
Псэухэу унэм къыпхуэтхьынщ…—
Ашэжьокъуэм хуэдэ къабзэу
Пщыхэм псалъэ зэдыжаӀэ,
Бжэлъэмб къуагъым Аслъэнышхуэр
КъыкъуокӀуэтри нахолъаӀуэ:
— Зиусхьэнхэ, лъхукъуэлӀ лӀыжьым
Фэ пщы гупыр фытемыуэ,
Шэ гын лейхэр лӀыжь зи лӀэгъуэм
Ӏуэху къыфщыхъуу тевмыгъасхьэ.
Хуит сыкъэфщӀи си фӀэфӀ шухэр
ЗыщӀызвгъэгъуи сэ сывгъакӀуэ! —
Ашэжьокъуэр а сыхьэтым
ПсынщӀэу, жану къеплъэкӀащ,
Аслъэнышхуэр нэхъ жьантӀэӀуэм
Абы псынщӀэу ныдишащ:
— Ар блэжьыныр пэжу щытмэ,
Лъхукъуэщауэ уезгъэщIынщ;
УлъхукъуэлӀми, гъащӀэу диӀэм
Къуэш пэлъытэу узетшэнщ.
ЛӀырэ шырэ къыпхуэхъунур,
Хуит узощӀыр, уэ къэгъуэт,
Темботыжьыр лӀы мышынэщ,
Сакъыу фежьэ, гъуэгу фыгъуэт!..
Махуищ пӀалъэ сэ пхузощӀыр,
ТӀасхъэр фщӀэфмэ, пхъэр къэвгъакӀуэ,
Фубыдыфмэ, фымыукӀыу
СынэсыхукIэ фыкъыспэплъэ!..
Темботыжьи Къамбот бзаджи
Сэ си джатэм фӀырегъэж,
Ныбжьэгъу пэжу Аслъэнокъуэм
И лъы къабзэр сырещӀэж…

                ***

Аслъэнышхуэр епӀэщӀэкӀыу
Къамбот сымэ шу гуп хуешэ,
И шу гупым япэ иту
Гугъэ гуэрым ар ныпоплъэ.
ЛъхукъуэлӀ шухэр хьэжьэражьэу
Мэзыжь кӀыфӀхэм ныщӀолъадэ,
Тембот дадэр къагъуэтыжмэ,
Зыпсэу лӀэнхэу быдэу жаӀэ.

                ***

ПщӀантӀэ иным зэплъэкӀыжхэу
ПщылӀхэр гупхэу щоӀущащэ,
Пщым и «телъхьэу» Аслъэнышхуэр
Зэрежьари ягъэщӀагъуэ.
«Хьэуэ, аркъым, Аслъэнышхуэ
Ауэ тӀасхъэу фимыгугъэ,
ГъащӀэу иӀэм пщым и бийри
Делэ хъуауэ жывмыӀэххэ»…—
ЗэхуаӀуатэу, гуп защӀахэу,
Щхьэхуимытхэр зэхоувэ,

Гузэвэгъуэу гуащэм телъхэр
Нэхъ ин хъункӀи ахэр мабгэ…
Тембот дадэ и хъыбархэр
ПщылӀхэм Ӏэджэу зэрахъуэкӀырт;
ЖэщкӀэ къакӀуэу, пщыхэр щӀихуу,
Бгъэшым тесу лъатэу — жаӀэрт.
«Мин куэд хъууэ дзэ екӀуами,
Къамылъагъуу зэкӀэщӀехур,
Хуейуэ щытмэ, мывэ сыну
Ахэр псори егъэжыфыр»,—
НэгъуэщӀ зыми ар хъыбару
ЯхыжиӀэу гуп иӀыгът,
ФӀыгъуэу щыӀэр абы ейуэ
ПщылӀхэр псори щытхъу зэпытт.

               * * *

Мэз тенджызым, нэщхъей дыдэу,
Дыгъэр пшэплъкӀэ къодэхащӀэ,
Бгыжь Ӏэтахэм я щхьэ лъагэр
Лъы щыхъуауэ нэм къыӀуедзэ.
Дыгъэ къухьэм тегъэ щӀыкӀэу
Бзум я гъыбзэм гур дохьэлъэ,
Лъагъуныгъэм и бзэ ӀэфӀхэр
Лацэ сымэ ягъэувыӀэ.
Дунейр, пщӀэркъэ, фэ зэхъуэкӀщи
ЦӀыху псэукӀэм къыпожажьэ,
Нэщхъеягъуэу е гуфӀэгъуэу
КъыкӀэрыхьэм хуодэкӀуашэ.
Лацэ сымэ я гуфӀэгъуэр
Мис аргуэру зэпоуж,
Жыг Ӏув куэдхэм я бзу усэм
Я уэрэдхэр дыдж мэхъуж.
Махуищ хъуащи Тембот дадэм
Бланэ фэщхъуэр и уэншэкущ,
Уз куу хьэлъэр къеуэлӀащи
КъыщыщӀахэр и пщӀыхьэгъущ.
Къамбот хахуэр нэщхъеипэу
А пщыхьэщхьэм Ӏуащхьэм тест,
Тембот дадэ ар хуэщтати

Пшагъуэ Ӏувхэр и нэм телът.
А сыхьэтым Лацэ цӀыкӀур
«НэкӀуэж»,— жиӀэу щыбгъэдыхьэм,
Хьэлъэ-хьэлъэу ар къэтэджу
Къуэ зэв щхъуантӀэм ныщыдэплъэм,
Шу Ӏэрамэ щакӀуэ пщыӀэм
НэкӀуэпакӀуэу къаунэтӀащ.
— «Зым тӀу и дзэщ» жаӀэ щхьэкӀэ,
ФыщыувыӀэт ауэ фи пӀэм!..
Фызыщыщхэр къэзывгъащӀи
Фэ фыкъихьэт дэ ди лъахэм! —
ЩажыриӀэм, лӀы къуэгъу фӀыцӀэу
Аслъэнышхуэр къахэкIащ.
Лацэ цӀыкӀум ар щицӀыхум,
ГуфӀэу пщыӀэм ныщӀишащ.
Ауэ Къамбот, дзыхь имыщӀу,
Шу къэнахэр егъэувыӀэ,
ПщыӀэм кӀуами и хъыбарыр
КъищӀэхункӀэ ирегъажьэ.
Тембот дадэм и ныбжьэгъухэр
Архэу Къамбот щыгурыӀуэм,
Ныбжьэгъу пэжхэр я гъусэнхэу
Къеблэгъахэу пэжкӀэ щищӀэм,—
Нэмыс къекӀукӀэ хьэщӀэ псори
ЩакӀуэ пщыӀэм къыщӀишащ,
Яшхэм хуэзэу увыӀэпӀикӀ
ЩыгуфӀыкӀыу яритащ.

                ***

Саур уанэр и пӀэщхьагъыу
Тембот дадэр хьэлъэу щылъщ,
ПщыӀэ зэвым лӀыхъужь гупыр
И жэуапым ежьэу щӀэтщ:
— Аслъэнышхуэ, Аслъэнышхуэ!
Уэ къуэшыгъэ бдэслъэгъуащ,
Си жагъуэгъум сытекӀуэнкӀэ
КъарууфӀи къызэптащ.
Сэ си Ӏуэхур нобэ щӀагъуэу
Сымылъытэу сысымаджэщ…
ЖиӀащ псалъэр хуземышэу:

ЩакӀуэ дадэр хуабжьу хьэлъэщ.
— Тембот, Тембот! Сыту занщӀэу
Ныбжьэгъужьыр удзыха?
Къызэтехыт уи нэ тӀэкӀухэр,
Ди тхьэмадэ, сыт къэхъуа? —
Тембот дадэм Ӏэ ныдилъэу
Аслъэнышхуэ мэбзэрабзэ,
Мэз кӀыфӀ уэхым щылӀэж цӀыхум
Щытхэр псори хуогузавэ.
Хъуакъым Ӏуэхур, Тембот дадэм
И дзэ цӀырхъхэр зэрегъэшх,
Пшагъуэм хуэдэу бахъэ хуабэр
И щхьэ, ипкъхэм къыжьэхех.
Аслъэнышхуэм нэщхъеипэу,
Къамбот хахуэм зыхуегъазэ,
И мураду къыщӀэкӀуахэр
ЖыриIэну къырегъажьэ:
— Къамбот, нобэ ди къэкӀуэкӀэр
Дадэм ӀупщӀу жесӀэфакъым,
Пщым ӀэмалкӀэ сатемыкӀуэу
Ауи нэпцӀу себлэгъакъым.
ГъащӀэу диӀэр Тембот сэрэ
Дымыгуэшу зэдэтхьат,
Пщы ерухэм я хьилэхэм
ЗылӀ и бынуи дебэнат.
Ауэ нобэ мы тхьэмыщкӀэр
УзкӀэ хьэлъэу къэзгъуэтащ,
ЛъхукъуэлӀ куэдхэм адэфӀ хуэдэу
ГъащӀэу иӀэм тхуэлэжьащ.
Ауэ, Къамбот, сынэхъыжьщи,
Ӏуэхуу щыӀэр ныбжесӀэнщ,
Тембот нобэ къытхэмытми,
Ар щыт хуэдэу уедэIуэнщ:
Мы уи дадэр жэщу накӀуэу
Аслъэнокъуэр щиукӀыжым,
Сэ а Ӏуэхум сыхэтауи
Пщыхэм шэчи щысхуамыщӀым,
Ахэм щэхуу яӀэ псори
НаӀуэу, Къамбот, къыщысхутэм,—
Фэ фымыщӀэу къыфтеуэну

Ашэжьокъуэм Ӏуэху щиухым,—
Фэ фи тӀасхъэр щӀэсхын щӀыкӀэу,
Гуп си гъусэу сыкъэкӀуащ,
Фыкъэзгъуэтмэ— фи хъыбарым
Ахэр пэплъэу къэзгъэнащ.
Зыгуэр вгъакӀуи Тембот сымэ
Къэдгъуэтауэ пщыхэм жефӀэ,
Фэри фӀыуэ фыхуэщӀауэ
Лъагъуэ закъуэм фытеувэ!
Фыарэзымэ, сэ сымаджэм
Сыбгъэдэсмэ нэхъ сфӀэзахуэщ.
Ӏуэхур нахуэу щывжесӀакӀэ,
Айт жевгъэӀэ, фи щӀалэгъуэщ.
Арщ унафэу сэ ныфхуэсщӀыр,
ЩӀалэ жанхэу фыкъыщӀэкӀхэ,
ХэкӀ щымыӀэу бзаджэ гупыр
Мывэ къуагъхэм къыкъуэвнэжхэ!
Фиш, фи Ӏэщэм фыкӀэлъыплъи
ЛӀыгъэ хэлъу Ӏуэхур зефхьэ,
Дзыхь фымыщӀмэ, сынэкӀуэнущ,
ПщыӀэм зыгуэр фыкъыщӀэнэ…—
Аслъэнышхуэм къипсэлъахэр
ЩӀалэ гупым зэдащтащ,
ЩакӀуэ пщыӀэм нэхъыжь Ӏущыр
Къытыранэри зэдежьащ.
Къамбот хахуэр унафэщӀти,
Бийм пхъэр нэпцӀыр хурегъажьэ,
БгъуэнщӀагъыжьым пщыхэм щежьэу
И шу гупыр ныщӀегуашэ.

                ***

Аслъэнышхуэр махуэ псоми
ЛӀыжь сымаджэм хуогузавэ,
Гур хигъэщӀу Лацэ цӀыкӀуи
И пӀэ лъапэм къыщопыхьэ.
Тембот дадэм нэхъри хуабжьу
Узым хьэлъэ зыкъыхуещӀ;
ЗимыщӀэжу и нэ тӀэкӀухэм
Нэхужьыбэр къыщӀегъэщ.

— Дадэ, дадэ, тӀэкӀу къэпсалъи
Узыхуейхэр сэ къызжыӀэт!
Щтати Лацэ лӀыжь сымаджэм
ГуӀэ нэпсхэр тригъахэт.
Макъ имыщӀу Аслъэнышхуи
Гъыурэ нэпсхэр щӀелъэщӀыкӀ,
И Ӏэ, и лъэм Ӏэ дилъэжу
И гур мафӀэм къыресыкӀ.
Куэд дэмыкӀыу лӀыжь тхьэмыщкӀэм
Ипкъхэр ткӀийуэ ешэщIыж,
Сын жа хуэдэ, и блэ гъурхэр
И бгъуэщӀитӀым кӀэрелъхьэж.                  

               * * *

Къамбот сымэ бийм хуэпӀащӀэу
Зы жэщ-махуэ фӀагъэкӀащ,                       
Пщэдджыжьым щӀалэ бланэр
Ӏуащхьэм плъэуэ теуващ.
Тэлай куэдкӀэ ар тетауэ,
Я шу лӀыкӀуэр ӀэщӀолъагъуэ,
И гъусэфӀхэм къахохьэжри
Яш, я Ӏэщэм кӀэлъегъэплъхэ.
Шу илъыкӀэм и Ӏэмалхэм
Ӏэдэу, ӀупщӀу хурегъаджэ,
Джатэр жану зэрагъабзэр
ПсынщӀэу абы яжыреӀэ.

              ***

Лъагъуэ закъуэр бгитӀ зэхуакущи
Мывэ хьэдзэр и пкӀэлъейщ,
Лъэгум уехмэ, Къамбот сымэ
БгъуэнщӀагъ быдэр я лъэуейщ.
ДэмыкӀыу мис а щӀыпӀэм
Шы лъэмакъхэр щызэхах,
Пщыхэм гугъэ здамыщӀами
ЛъхукъуэлӀ Ӏэщэр къыщырах.
Абы хэту пщы шу гупыр
Щтахэу я пӀэм щувыӀащ,
ПщӀыхьым хуэдэу Ашэжьокъуэм
И гуфӀэгъуэр къутэжащ.

— УлӀу щытмэ, къэкӀуэтэӀуи
Уи ныбжьэгъум илъ хуэщӀэж,
Жан и пащхьэм укъикӀарэ
Упщыр пэжмэ,— лӀыуэ кӀуэж!..—
Къамбот хуабжьу пщым щепсалъэм,
Еруужьыр къыхуилъащ,
И щхьэм илъыр ищӀэжати,
И фочыжьыр иунэщӀащ.
Абы хэту фоч уэ макъхэм
Бгыр пэджэжу къырагъажьэ,
Къамбот щӀалэм шэ музэщхъухэр
Пщыжь ерухэм нахеутӀыпщхьэ.
Зэман куэдкӀэ зэхэуахэу,
Къамбот джатэр егъэдалъэ,
Лъагъуэ закъуэр хуримыкъуу
Еруужьым жьэхолъадэ.
«Джатэ щӀагъым нанэ щыӀэт?..»
Ашэжьокъуэм щӀым зыхедзэ,
Мывэ хьэдзэр и уэншэкуу
А сыхьэтым зэщӀодие.
И гъусихыр щӀэпхъуэжыну
Шы зэпхахэм ныщыхуэжэм,
«Маржэ!» —жиӀэу лъхукъуэлӀ шухэм
Къамбот хахуэр щахэкӀием,—
ЛӀыхъужь гупым ямыгъакӀуэу
Пщыхэр я пӀэм щогъуэлъыж,
Жыгей мэзым и къуэ зэвыр
Япэм ещхьуи мэжеиж.

                     ***

ТекӀуэныгъэр зубыдахэр
НэфӀэгуфӀэу къежьэжащ,
Пщыхэм яшхэр я Ӏэдэжхэу
ЩакӀуэ пщыӀэм техьэжащ.
Ауэ дадэр узджынтауэ
Къамбот хахуэр щыӀущӀэжым,
Мыушыну хэжеяуэ
Адэ папщӀэр щилъагъужым,—
КъехъулӀахэр щыгъупщэжу
ЩIалэ хахуэр нэщхъеящ,

ФӀыгъуэ инхэу къыхуищӀахэр
Игу къэкӀыжри Ӏэ дилъащ.
ЛӀыжь тхьэмыщкӀэу мэз лӀыхъужьыр
Фэху лъагапӀэм щыщӀалъхьащ,
Ӏуащхьэ ини ныбжь фэеплъу
И гущӀыӀум щащӀыжащ.

                    IV

Къулъшыкъушхуэм и зэманщи
Дыгъэм махуэр зэщӀегъаплъэ,
ЩӀылъэ пэкӀум и бзу куэдхэм
Усэ дахэр зэжыраӀэ.
Ауэ нобэ Махъэшокъуэм
И щхьэгъусэр мэгузасэ,
Зиусхьэну и дэлъху дотэм
ГуӀэ гъыбзэр хузэрешэ.
А лӀы пхъашэу пщы и пщыжым
И щыкъу щауэр яукӀащ,
Аслъэнокъуэм и щыхьэкӀуэр
Шым сэмэгукӀэ къепсыхащ.
Гуащэнысэм и тэхъуанэр
Шы лъэмакъхэм ныдохъей,
Е хъыбарым Махъэшокъуэм
Шухэр гупу ныхуегъуей.
Зы бжэгъулъэм шитӀ фӀэдзауэ
Уэркъи пщыикӀ зэхуэсащ,
Я сэшхуэжьхэр лъапэм теуэу
Чом лъыщӀэжхэр дэз къэхъуащ.
Бо, бэкхъ къуагъхэм лэжьакӀуэлӀхэр,
Гуп защӀащи, зоӀущащэ,
Пщыхэр Къамбот теуэу щытмэ,
Ямыдэну зэжыраӀэ.
Ахэр хуабжьу зэрыгъэплъхэу
Я гугъуехьыр яӀуэтэж,
Жьагъэ щӀыкӀэу ята Лаци
И хъыбархэр ягу къокӀыж.

               ***

Махъэшокъуэм зишхыхьыжу
ПщӀантӀэм кӀийуэ зыщехъунщӀэ,

ПщылӀхэм щыщу пащхьэм къихуэм
ЩӀопщ удынхэр нытыредзэ:
«Си щыкъу щауэр Тембот хуэдэм
КъиукӀынкӀэ щхьэ хъухха,
УнэӀутхэм къалъхуа фӀейхэм
Щхьэ я Ӏэщи къыттехуа?
Къэзгъэнэнкъым сэ а бзаджэм
ЛыкӀэ гухьэу къэзгъуэта!
Сыту гуауэт, хьэм къалъхуахэр
Дауэ хъууэ къызэуа».

                  ***

ПщӀащэ пыхум и лъэхъэнэт —
ЩӀыр дыщафэу гъуэжь къэхъуат.
Мэз кӀыфӀыжьхэм, хъуэнщӀагъэфэу,
Нэхур щӀидзэу ныхуежьат.
Мазищ хъуащи Хьэсанш сымэ
Мэз къуэ уэхыр я унапӀэщ,
А щӀыпӀэшхуэм я бланэбэр
Ахэм нобэ я Ӏэхъушэщ.
Ауэ абы нобэ къэскӀэ
И ныбжьэгъур хуэгъуэтакъым,
Мы зэр мыхъумэ, гъэгуфӀакӀуи
Абы зэикӀ къыхуэкӀуакъым.
Къамбот псэууэ, Лаци щӀыгъуу
Зэхихащи ар мэгуфӀэ,
ФӀыгъуэу щыӀэр лӀыжь усакӀуэм
И пшыналъэм къыщегъаджэ.
Ауэ нобэ Махъэшокъуэм
Пщы бейгуэлхэр зэхуешэс,
Къамбот сымэ я псэупӀэр
КъищӀащ абы, дзэ хуеузэд.
Аслъэнокъуэм и лъыщӀэжу
Ар Къамботым нытеуэнущ,
Ар нэмысу Хьэсанш сымэ
ЩӀэхыу Къамбот къалъыхъуэнущ.
ЛӀыжь усакӀуэм набдзэ кӀырхэр
ХуэмышыӀэу фӀыхолъэтыр,
Лъэтэн хуэдэ, гуфӀэщащи
Усэ гуапэр къыхуохутэр:

«ЦӀыхур къалъхуакъэ — лӀэжынущ,
Ажал пудыгъэкӀэ къомыгъэблагъэ,
Къарур зэшыгъэм къахуонэр,
Джатэм и щӀагъ щыӀэжкъым нанэ.
Абы и гъащӀэр имыхъумэжмэ,
БжэӀупэ удзыр зыхъум хэтынт,
Дэ тщыщ зыгуэри тхьэуэ хъугъамэ,
Ди мыщытыкӀэу дэ дыпсэунт.
Дэ дыхуитынущ дыкъыщӀэхъуар;
Дэ пщы дыхуейкъым, фытэджхэ;
ЛӀыгъэм насыпыр егуэшыр,
Шынагъуэ щыӀэкъым, фышэсхэ!»
Ауэ, Ӏуэхукъэ, мэз тенджызым
Дэнэ Къамбот щагъуэтынур,
Махъэшокъуэр ятемыуэу
Ахэр япэ здынэсынур?
Мэгузавэр Хьэсанш хуабжьу:
«Дэнэ гупыр дэ тшэн хуей?
«Махъэшокъуэм и шу Ӏэлхэр
Ежьащ»,— жаӀэр. Сыт щӀэн хуей?» —
Абы хэту зы щӀалэщӀэ
ПIащӀэу Хьэсанш къыбгъэдохьэ:
— Аддэ, и щхьэм махуитӀ гъуэгукӀэ
Ӏугъуэ щууэ слъэгъуащ,— жеӀэ.
НэгъуэщӀ зыми: «Мыщэм хуэдэу
ЗэщӀэкӀауэ зы лӀыжь гуэр,
Бланэр и плӀэм теупцӀауэ
Слъэгъуащ»,— жери къыпогуо.
ЛӀыжь усакӀуэр здэгупсысэм
Абы хэту къэуващ:
— Вагъэм жылэ имыгъуэтмэ,
Фи гугъуехьыр хэкӀуэдащ…
Ӏугъуэ щухэм цӀыху щопсэури
Хъыбарыхьэ дывгъэгъакӀуэ,
ДызыхуэкӀуэр дывгъэубзыхуи
Биймэ,— джатэ тедвгъэгъахуэ.
ФыкӀуэ, щӀалэ, гъуэгу къэфхути
Ӏуэхум и псэр къэбэуэнщ,
Е зыгуэрым дуней хьэлъэр
Иужэгъуауэ фыхуэзэнщ!..—

А унафэм и пкъым иткӀэ
Шу лъыхъуакӀуэр яунэтӀащ,
Мазэ тӀущкӀэ зылъыхъуахэм
НобикӀ а лӀыр хуигъэпхъащ.

                   ***

Лацэ дахэр махуэ гуэрым
Къамбот и бгъум щобзэрабзэ,
Ӏуащхьэ бгыхум и нэз дыдэм
Бжьыхьэ дыгъэр нащоубзэ.
Бзум я усэр а тӀум дежкӀэ
Нобэ гъащӀэм и гуфӀэгъуэщ,
НыбжьыщIитIым яIуэтэжхэм
Щыхьэт хуэхъуу и пшыналъэщ.
Махуэр уэмти, пшэ Ӏэрамэр
Хы жеяуэ уэгум телът,
Я лэгъупыр зэфӀэдзауэ
Бланэл пшэрыр къавэу пылът.
Аслъэнышхуэм щӀакӀуэ фӀыцӀэр
И уэншэкуу хэгъэщӀащ,
Жыгей мэзым и лӀыхъужьхэр
Бийм япэплъэу гъэпсыпащ.
Я жэрыжьхэм уанэр телъши
Я жьэгубгъум щылъэхъащ,
Пхъэр гуэр къэхъумэ, хуэхьэзырхэу
Я фочыжьхэр узэдащ.
Махъэшокъуэм уэркъ, бейгуэлхэр
Иугъуеяуэ Къамбот къещӀэр,
ФӀыуэ илъагъум щӀыгъущи Лацэ
Гукъеуэншэщ, мэбзэрабзэр.
Ауэ Къамбот бийхэм пэплъэу
Лацэ ауи и гум илъкъым,
Махъэшокъуэр щӀыпӀэ уэхым
КъэкӀуэнуи и гугъэжкъым.
И щхьэгъусэр нызэплъакӀуэр
Абы пщӀыхьу къыхуэкӀуакъым,
Мэз тенджызым хуимытынуи
Сыхьэт закъуи игу къэкӀакъым.

                    ***

Къамбот фочыр къыбгъурылъу
Здэплъэм зы шу ӀэщӀолъагъуэ,
ЩӀэщхъугъэжьым епэщэщу
Хуарзэу занщӀэу зэфӀоувэ.
ЩӀы гъунапкъэм щувыӀэну
ПыӀэр хуищӀу ар уващ,
КъыфӀигъэкӀмэ, ерыжыбыр
Уэн къудейуэ хуигъэпсащ.
Абы дежым шум и Ӏэщэр
И уанэгум къыщыринэм,
БгынтӀэ лъэсу нэкӀуэпакӀуэу
Ар къежьауэ ныщыӀуплъэм,
Ӏэщэр и плӀэм иридзэжри
Къамбот лъэсым некӀуэлӀащ,
И ныбжьэгъум зэрилӀыкӀуэр
ГуфӀэгъуэшхуэу къицӀыхуащ.
А сыхьэтым абы и гур
Дуней псоми щытепщащ,
Пщыуэ щыӀэм ятекӀуауэ
Абы зэуэ къыщыхъуащ.
Аслъэнышхуэу лӀы гъур къуапцӀэр
Псом хуэмыдэу нэжэгужэт,
ЩӀыгъухэм я гур жан яхуищӀу
ПыӀэ къуацэм есэбауэт.
Арти, лӀыкӀуэр ныщежьэжым,
Аслъэнышхуэр нахоувэ,
ХьэщӀэнышхэр ягъэвэну
Гуп зыхэтым нажыреӀэ.

             * * *

ХьэщӀэ пэплъэу, нэфӀэгуфӀэу
Гупыр нобэ зэрызохьэ,
ТекӀуэныгъэр я Ӏэрылъхьэу
ГуфӀэ усэр зэпырадзхэр.
Пщэдджыжьыр хэкӀуэтауэ,
Яшхэр жыжьэ щылъэхъауэ,
Саур уанэр я пӀэщхьагъыу,
ЕгъэщӀахэу ахэр щылъхэу,

Шу гупышхуэ зэрызехьэу
Къуэшыхьыжьым къыдолъадэ,
Джатэ лыдхэр къырахауэ
Мес, бгъуэнщӀагъым къоблэгъапэ.

               ***

Ауэ нобэ Къамбот сымэ
Ямыгугъэм къыщохутэ.
Зы цӀыху хуэдэу, зэрыӀыгъхэу,
Бгы жьэгъу гуэрым зыныкъуадзэ.
Бгыхужь лъагэм и сэмэгукӀэ
ЗамыгъэӀуу ахэр къуэтщ,
ПщыӀэ нэщӀым теуа бийри
ЩтэӀэщтаблэу щызэхэтщ.
«ЛӀыгъэр» минкӀэ игъэлъагъуэу
Махъэшокъуэм зегъэщӀагъуэ.
Гъусэу щӀыгъухэм ягу фӀы хуищӀу,
Ар шынами, зегъэгушхуэ:
— Пщым я джатэм фӀэмылӀыкӀыу
Ахэр пщыӀэм тесыфынт,
ЛъхукъуэлӀ фочи зытехуэни
Сэ сщӀыгъу цӀыхухэм къахэкӀынт?
Фепсых шыми хьэм я пщыӀэм
Лыгъей мафӀэр щIэхыу щӀэвдзэ,
Мывэ дзакӀэ хэмыщыжу
ЩӀыунэжьыр хэвгъэгъуащэ!..—
Пщым и псалъэр имыухыу
Ӏэщэ макъхэр къызэхах,
Бгыху сэрейхэр зи хъумакӀуэм
Сэшхуэ лыдхэр къыздырах.
Шагъдий жэрхэр хэщэӀукӀыу
ЛӀым и щӀагъым къыщӀагъэху,
Бгыху лъащӀэншэм бий шу щтахэр
Зэмыплъыжхэу щхьэщагъэху.
Ерыжыбхэр щыблэ макъщи
Мэзыбгыжьхэр дэушащ,
Шагъдий жэрхэр уанэгу нэщӀхэу
КъуакӀэ-бгыкӀэм дыхьэжащ.

Лацэ цӀыкӀур хэӀубауэ
Мывэ хьэдзэм къыщогуӀэ,
Къырыжь щыгум нэ фӀыцӀитӀыр
Тедиящи тӀэкӀу мэбауэ.
Къамбот закъуэм зихущыхьу
Бийр мэлыбгъэу нызэрехуэ,
Ирехужьэри Махъэшокъуэр
Бгыхум йолъэр, зыкъегъанэр.
Махъэшокъуэм и дзэ Ӏувым
И нэхъ мащӀэщ къэнэжар,
Жыгей мэзым и лӀыхъужьхэм
Къамбот закъуэщ къахуелар.
Ауэ нобэ пщы Ӏэлыжьым
ЩӀалэ закъуэм гу къылъетэ,
Утыку гуэрым къолъэдэжри
Къэна гъусэм яхогуауэ:
— Феуэ, маржэ, зы хьэ закъуэм
ЛӀы гуп дауэ къыхуэшхын,
Напэ диӀэщ, дэ ди псыхъуэм
Дыдыхьэжмэ, сыт жытӀэн?..—
Джатэ Ӏэпщэм зырамыту
Ерыжыбхэр ягъэпсащ,
Къамбот щӀалэм а сыхьэтым
Жыгей мэзыр дэжеящ.
Лацэ цӀыкӀум ар щилъагъум,
Мывэ къырым зыщеӀэт,
Гуауэ гуэрым жыгей мэзыр
Мис иджыри къыхегъэщт:
— Махъэшокъуэ, Махъэшокъуэ,
ЛӀы укӀынкӀэ урикъуа,
Сэ Къамботыр згъеижыну
Мывэ къырым сыкъибна?…—
Ар пщы гупым къыщалъагъум,
Лъапэм зэуэ зэрохулӀэ,
Махъэшокъуэм лӀы хегъэкӀри
ДэкӀуеину ирегъажьэ.
Къырым и щхьэм унэплъысми
Тесыр къуагъыу плъагъу къудейщ,

Мывэ хьэдзэр и пкӀэлъейщи
Абджу джафэщ, мывэ джейщ.
Сыт фыз закъуэм къырыжь къалэм
ИхьэжакIэ ищIэжынур,
Сыт мэзытхьэ а зеиншэу
ЦӀыхубз пцӀанэм къыщыжынур?
Махъэшокъуэм и бейгуэлхэм
Къырыжь лъагэр яувыхьхэр,
«УнэӀутыр къефхьэх!» — жиӀэу
Къашыргъэпэр мэдзэлашхэ.
Лацэ и фэр шэхум хуэдэу
Къыр нэз дыдэм теуващ,
Вындым хуэдэу и щхьэц бапхъэм
Вагъуэу напэр къыхэщащ.
Нэхущ вагъуэщ — нур иӀэжкъым,
Аддэ, пшэгум, щыдиящ;
И дунейми жьэхэбгэжри
И нэр гъащӀэм хуиуфӀыцӀащ:
— ЕтӀуанэӀэ сеӀусэну
Си мэзытхьэм жыремыӀэ;
ЩакӀуэ пщыӀэм, Къамбот щӀыгъуу,
Сэри си пкъыр къыщыренэ!..—
Мывэ къырым зубыдыну
Дэпща лӀыхэм къахокӀие,
БостеикӀэр жьым дэбыбу
Мывэ хьэдзэр къахеутӀыпщхьэ.
ЦӀыхубз макъым а сыхьэтым
Джэрпэджэжыр дэувыӀащ,
Щыгъын тӀэкӀухэм я пытхъахуэр
Къырыжь хьэдзэм жьэдэнащ.
Аркъудейуэ щакӀуэ пщыӀэм
Хьэсанш сымэ къытолъадэ,
Щымыжауэ, диижауэ
Ахэр Къамбот ирохьэлӀэ.
«ПщӀыхьу пӀэрэ мы гуӀэгъуэр?» —
ЖиӀэу абы и Ӏэр делъэ.
ЩызэплъэкӀкӀэ мис аргуэру,
Лаци щылъу ӀэщӀолъагъуэ.
ЛӀыщ. Хьэдагъэ ар къэкӀуакъым.

Гупым ину нахогуауэ,
Заущэхуауэ Ӏуащхьэ щӀыбым
Къыкъуэт бийхэм гу налъетэ.
Махъэшокъуэм и бейгуэлхэм
Я мурадхэр къемыхъулӀэу,
Зэкъуэхуауэ ахэр пщылӀхэм
Ятеуэныр къахуэмыхъуу,
ТӀэкӀу псэхуауэ, хэжеяуэ
Щыта мэзыр къоушыж,
Жыр сэшхуэжьхэр пкъым йодзэӀур,
Ерыжыбхэр мэдыуж.
ГуащӀэщ махуэр, щхьэмыгъазэщ.
Зэрохьэххэр, зэроудхэр.
Хьэсанш дежкӀэ лӀэнкӀэ зэджэр
Мастэ уасэщ… ар мэзауэ.

                ***

ЛӀыжь джэгуакӀуэр, мис а махуэм,
Пом къытетщи къахуоусэ:
— Псэуныгъэм и бий цӀыхухэр
ЗыгъэдаӀуэр Ӏэщэщ,— жеӀэ.—
Феуэ, маржэ, пэжыр жьажьэу
Щытми, пылу къарууфӀэщ,
Абы щӀэкъуу зызыгъалӀэр
Си уэрэдщи цӀыху гукъинэщ.
Мо фи лъапэм щыгъуэлъахэм
Напэ хужьу фахущытхэ,
Хей лӀыхъужьхэм си пшыналъэр
Фи уэрэдкӀэ сывгъэгъабзэ! —
Зэрызохьэ, зэроудхэр…
Шагъдий жэрхэр кӀэрутӀыпщхэщ,
Джатэ Ӏэпщэр зэхуакъутэ,
Пщым и гупыр бгъафэрыпщхэщ.
ЛӀыжьыр Ӏуащхьэм ныпу тетщи
Къуэшхэм я гур егъэгушхуэ,
Шэуэ ядзхэр тхьэкӀумакӀэм
Ныблэлъэтми зэхимыщӀэ.
Пом йоплъыхри: Лацэ и щхьэцыр
И пкъым щӀакӀуэу тепхъуэжащ,

Ӏуащхьэм топлъэр: Къамбот щӀылъэм
ӀэплӀэ хуищӀри гъуэлъыжащ.
Дыгъэр и пӀэм щыгъуэлъыжым.
Лъы гъэжэныр увыӀащ,
Махъэшокъуэм и сэшхуэжьыр
Бзэжь имыӀэу Ӏэпыхуащ.

                 ***

Дыгъэр и гъуэм нэблэгъарэ
Мэзым бгъунжу къыхуеплъэкӀыу,
ЩакӀуэ пщыӀэр зытет нэпкъым
Бзийри щабэу къеубзэжу —
ЛӀыжь джэгуакӀуэм и жьакӀэхум
Ӏэ дилъэжри къэуващ,
Мывэ джейхэр зиблынджабэу
ЩакӀуэ пщыӀэм Ӏэ хуищӀащ:
— Тщыгъупщэнкъым мы пщыӀэжьым
ЦӀыху бэлыхьу щызекӀуар,
ЗекӀуэ, Ӏэщэм, гущӀэгъуншэу,
Лъыуэ мыбы щигъэжар.
Фыгъуэ — ижэр, гъэпщылIыныр
Зи дамыгъэр адыгэпщырщ,
Пщыгъэ щхьэкӀэ лъэпкъыр щащэр,
Пэж фыхуеймэ, дэ ди хэкурщ.
Махъэшокъуэр щымыӀэжми
Пщы Ӏэл щыӀэщ дэ ди ТӀуащӀэм;
Ирехъумэ дэ ди гъащӀэр,
Си къуэшыфӀхэ, мы мэзышхуэм!..—
Мэзыр гъыбзэм къыдежьууэ.
Хьэсанш сымэ ежьэжащ,
Жылэу абы щыпсэунхэу
Быдэ лъыхъуэу хыхьэжащ.
Къуэ, аузхэм я даущым
Мис а махуэм щегъэтыж,
ЩакӀуэ пщыӀэм и мэз Ӏувым
Пщэдейм пэплъэу зеущэхуж.

1934—1941 гъ.гъ.

Подслушано в Тереке

06.02.2018



8

Добрый вечер. Помогите пожалуйста написать сочинение по теме » Къамботрэ Лацэрэ я лъэгъуныгъэр. »💕

Анон пожалуйста 💕💫

Спасибо заранее 💕

Поделиться

Внешние комментарии

DELETED

06.02.2018

1

Вряд ли тут кто-то читал это произведение, а если и читал, то вряд ли помнит

Ice Spirit

06.02.2018

Я знаю. Напиши

Альберт Темирканов

06.02.2018

4

а если и помнит , то вряд ли напишет 🤣

DELETED

06.02.2018

Напиши, помогу))

DELETED

06.02.2018

Я спец по адыгэбзэ)

Ice Spirit

06.02.2018

Хамзат, спец, еуэт тхутепсэлъыхьыт «Къамботрэ-Лацэрэ».

Eva Mendes

06.02.2018

Хамзат, я тебе когда-нибудь напишу. Вот только учебу начнем.

DELETED

07.02.2018

Ice, Ты просто шарлатанка, не нуждаешься в помощи

Добрый день, друзья. Кто нибудь знает Аслана Замбатова(кабардинец), лет под 50,

27.02.2019

11

Ас’салям Алейкум.У кого есть видео .Там маленькАя девочка ругается из за младшего брата .На кабардинском .Мыр гъаси все 1е жи1у .Не анон .

26.01.2019

11

Добрый день💫. Подскажите пожалуйста, как найти песню — » лъэгъуныгъэ пхуэсщ1ащ си дахэ уэрэ сэрэ дыздэгъэджэгу»🙏🏻

23.10.2018

5

Добрый день, народ 👻 Посоветуйте пожалуйста хорошего косметолога, не просто знакомую, а действительно хорошо делающую свою работу… 🙌

03.02.2018

16

Всем салам скинте по братски номер телефона где шаурму можно заказать в Тереке желательно тот который напротив спорт центра анон брат

20.12.2017

7

Инфоурок


Родная литература

ПрезентацииПрезентация к уроку по кабардинской литературе в 9 классе»Хейр умыгъэмысэ»



Скачать материал

«Хейр умыгъэмысэ, мысэр умыухей»Мэлыхъуэ Самарэ
Исламей курыт 
еджап1э   № 1...



Скачать материал

  • Сейчас обучается 47 человек из 26 регионов

  • Сейчас обучается 39 человек из 22 регионов

Описание презентации по отдельным слайдам:

  • «Хейр умыгъэмысэ, мысэр умыухей»Мэлыхъуэ Самарэ
Исламей курыт 
еджап1э   № 1...

    1 слайд

    «Хейр умыгъэмысэ, мысэр умыухей»
    Мэлыхъуэ Самарэ
    Исламей курыт
    еджап1э № 1
    адыгэбзэмрэ литературэмк1э
    егъэджак1уэ

    2011

  • Егъэджэныгъэ мурадхэр:       ЩоджэнцIыкIу Алий и творче...

    2 слайд

    Егъэджэныгъэ мурадхэр:
    ЩоджэнцIыкIу Алий и творчествэм нэхъри нэхъ куууэ щыгъэгъуэзэн, абы хэлъ хъугъуэф1ыгъуэхэмрэ бзэ къулеягъымрэ гу лъегъэтэн, «Къамботрэ Лацэрэ» романным къыщы1эта гупсысэхэр зэпкърегъэхын, дэтхэнэ зы еджак1уэми и зэф1эк1ыр къэгъэсэбэпауэ тхыгъэм хэт образхэр гукъинэж ящыщ1ын.

  • 1) Зи зэф1эк1ыр нэхъ лъагэ еджак1уэхэм щыщу литературэр, бзэр, тхыдэр...

    3 слайд

    1) Зи зэф1эк1ыр нэхъ лъагэ еджак1уэхэм щыщу литературэр, бзэр, тхыдэр джыным нэхъ дихьэххэм художественнэ образымрэ текстымрэ я зэпкърыхыныгъэмк1э я1э есэныгъэхэр нэхъ куу щ1ын; бзэм и художественннэ 1эмалхэм тхыгъэм щагъэзащ1э къалэнхэм егъэлэжьын, архаизмхэмрэ историзмхэмрэ теухуауэ я1э щ1эныгъэхэм хэгъэхъуэн, лъэпкъ тхыдэм и напэк1уэц1 пьесэм дызыщрихьэл1эхэм теухуауэ я1э щ1эныгъэхэр нэхъ куу щ1ын, актер зэчий зыбгъэдэлъ сабийхэм я зэф1эк1хэм хэгъэхъуэн; естественнэ дисциплинэхэр джыныр нэхъ зыф1эф1 еджак1уэхэм КъБР-м и флорэмрэ фаунэмрэ, удз хущхъуэхэмрэ адыгэ 1эзэк1эхэмрэ теухуауэ я1э щ1эныгъэхэм хэгъэхъуэн; сурэт щ1ыным, хэдык1ым дихьэххэм я зэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн.

  • 2) Зи зэф1эк1ыр ику ит еджак1уэхэм  художественнэ текстым и зэпкърыхыныгъ...

    4 слайд

    2) Зи зэф1эк1ыр ику ит еджак1уэхэм художественнэ текстым и зэпкърыхыныгъэм теухуауэ я1э есэныгъэхэм хэгъэхъуэн, монологическэ, диалогическэ бзэм хуэгъэса зэрыхъу лэжьыгъэм пыщэн, текстым нэхъыщхьэу хэтыр къагъуэтыфрэ абы и гъэпсык1эр яубзыхуфу егъэсэн.

  • 3) Зи зэф1эк1ыр лъахъшэ    еджак1уэхэм тхылъыр ф1ыуэ ялъагъуу, драматическэ т...

    5 слайд

    3) Зи зэф1эк1ыр лъахъшэ еджак1уэхэм тхылъыр ф1ыуэ ялъагъуу, драматическэ тхыгъэ
    щ1аджык1ыфу егъэсэн, художественнэ псалъэм и къарур зыхегъэщ1эн, я бзэм, гупсысэм зегъэужьын.

  • Гъэсэныгъэ мурадхэр                   Ц1ыхум пщ1э хуащ1у, нэгъуэщ1ым и гупсыс...

    6 слайд

    Гъэсэныгъэ мурадхэр
    Ц1ыхум пщ1э хуащ1у, нэгъуэщ1ым и гупсысэхэмрэ псалъэхэмрэ щ1эдэ1уфу, гъащ1эм и 1эф1агъыр зыхащ1эу, езым я 1уэхуеплъык1эрэ дунейеплъык1эрэ я1эжу, я насып ягъэувыжыфу, гъащ1эм ущыхуэзэнк1э хъуну 1уэхугъуэ гугъухэр ц1ыху хуэдэ ц1ыхуу къызэранэк1ыфу гъэсэн.

  • ЩоджэнцIыкIу Алий.
«Къамботрэ Лацэрэ»
романыр.

    7 слайд

    ЩоджэнцIыкIу Алий.
    «Къамботрэ Лацэрэ»
    романыр.

  • СыкъэщI  блэкIамкIэ уIэгъэ
Схуэпхэж къэкIуэнумкIэ ар.
             Бицу Анатолэ.

    8 слайд

    СыкъэщI блэкIамкIэ уIэгъэ
    Схуэпхэж къэкIуэнумкIэ ар.
    Бицу Анатолэ.

  • МонологкIэ йоджэ я щхьэ хужаIэжу е нэгъущI зыгуэрым хуэгъэзахуэдэу къапсэлъ к...

    9 слайд

    МонологкIэ йоджэ я щхьэ хужаIэжу е нэгъущI зыгуэрым хуэгъэзахуэдэу къапсэлъ къэIуэтэныгъэм.

  • Синквейн                         Диалог

       КΙэщΙ...

    10 слайд

    Синквейн
    Диалог

    КΙэщΙ КΙыхь

    ИрагъэкΙуэкΙ ЗэхуаΙэщ ЗращΙылΙэ

    Зэпадзыжу ирагъэкΙуэкΙ псалъэмакъ.

  • Романым и гъэпсыкIэр:


   «Лацэ цIыкIуу, мазэ нэкIур
  ХьэщIэ гупым...

    11 слайд

    Романым и гъэпсыкIэр:

    «Лацэ цIыкIуу, мазэ нэкIур
    ХьэщIэ гупым нащхьэщохьэ,…»

  •                          --/-'-/--/-'-/-3,7

--/-'-/---'-/-3,7Хорей

    12 слайд

    —/-‘-/—/-‘-/-3,7

    —/-‘-/—‘-/-3,7
    Хорей

  • ХеящIэм и унафэр:

    13 слайд

    ХеящIэм и унафэр:

  • 1. Зи лъэпкъым лей езыха, цIыху хейхэр зыIэщIэкIуэда, цIыху насыпым пэувурэ л...

    14 слайд

    1. Зи лъэпкъым лей езыха, цIыху хейхэр зыIэщIэкIуэда, цIыху насыпым пэувурэ лей зезыхьа Махъэшокъуэ, Аслъэнокъуэ, Жан сымэ ди нэлатыр ехын. Абыхэм я хьэл-щэн мыхъумыщIэхэу ищхьэкIэ зи гугъу тщIахэр дунеишхуэр щытыхукIэ хьэрэм щIын

  • 2. ГуIэгъуэмрэ хьэзабымрэ зыгъэва, цIыхубэм и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэр...

    15 слайд

    2. ГуIэгъуэмрэ хьэзабымрэ зыгъэва, цIыхубэм и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэр зыта Къамботрэ Лацэрэ , Тембот дадэ, «Напэ и пэ псэр ихуэ,» — псалъэжьым тету псэуа ноби псэууэ хъуам я IэхущIафэхэр гъащIэм щапхъэу щыгъэувын, я цIэхэри цIыхугум къинэн

  • 3.«Къамботрэ Лацэрэ» романыр зытха ЩоджэнцIыкIу Алий  и цIэр Дыщэ вагъуэу лъэ...

    16 слайд

    3.«Къамботрэ Лацэрэ» романыр зытха ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр Дыщэ вагъуэу лъэпкъ тхыдэм щыгъэлыдын, и IэдакъэщIэкIхэр щIэджыкIын, гупсысэ куухэр къыхэхын.

Найдите материал к любому уроку, указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:

6 154 043 материала в базе

  • Выберите категорию:

  • Выберите учебник и тему

  • Выберите класс:

  • Тип материала:

    • Все материалы

    • Статьи

    • Научные работы

    • Видеоуроки

    • Презентации

    • Конспекты

    • Тесты

    • Рабочие программы

    • Другие методич. материалы

Найти материалы

Другие материалы

  • 13.02.2021
  • 172
  • 0
  • 13.02.2021
  • 709
  • 5
  • 13.02.2021
  • 270
  • 5
  • 13.02.2021
  • 367
  • 10
  • 13.02.2021
  • 402
  • 20
  • 13.02.2021
  • 245
  • 8
  • 13.02.2021
  • 410
  • 16

Вам будут интересны эти курсы:

  • Курс повышения квалификации «Основы управления проектами в условиях реализации ФГОС»

  • Курс повышения квалификации «Экономика предприятия: оценка эффективности деятельности»

  • Курс повышения квалификации «Специфика преподавания конституционного права с учетом реализации ФГОС»

  • Курс повышения квалификации «Маркетинг в организации как средство привлечения новых клиентов»

  • Курс повышения квалификации «Страхование и актуарные расчеты»

  • Курс повышения квалификации «Использование активных методов обучения в вузе в условиях реализации ФГОС»

  • Курс профессиональной переподготовки «Методика организации, руководства и координации музейной деятельности»

  • Курс профессиональной переподготовки «Метрология, стандартизация и сертификация»

  • Курс профессиональной переподготовки «Эксплуатация и обслуживание общего имущества многоквартирного дома»

  • Курс повышения квалификации «Международные валютно-кредитные отношения»

  • Курс повышения квалификации «Информационная этика и право»

  • Курс профессиональной переподготовки «Стандартизация и метрология»

  • Настоящий материал опубликован пользователем Малухова Самара Хасанбиевна. Инфоурок является
    информационным посредником и предоставляет пользователям возможность размещать на сайте
    методические материалы. Всю ответственность за опубликованные материалы, содержащиеся в них
    сведения, а также за соблюдение авторских прав несут пользователи, загрузившие материал на сайт

    Если Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с
    сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.

    Удалить материал

  • Малухова Самара Хасанбиевна

    • На сайте: 3 года
    • Подписчики: 0
    • Всего просмотров: 3250
    • Всего материалов:

      5

  • Рабочий лист для урока литературного чтения в 4 классе по поэме А.С. Пушкина

Понравилась статья? Поделить с друзьями:
  • Кчгу расписание экзаменов
  • Кху вступительные экзамены
  • Кхолламан сизаш сочинение ризван вас
  • Кхолламан сизаш сочинение арсанукаев шайхи
  • Кхолламан сизаш ризван васт сочинение