Намыс зи1эм насып и1эщ сочинение

Обновлено: 10.03.2023

Езыгъ. -Дэтхэнэ зылъэпкъми и1эщ зы махуэ хэха и ф1ым щыгуф1ык1ыу,и ехъул1эныгъэхэр и1эту. А махуэм лъэпкъым и нэхъыжьи и нэхъыщ1и гуф1эу щызэхохьэ. Адыгэ лъэпкъми ди1эщ апхуэдэ зы махуэшхуэ. фок1адэм и 20 –р Адыгэм и махуэщ. Адыгэм и махуэр махуэ щыхъунур я нэхъыжьхэр я жьант1эу гуф1эгъуэр я1этмэщ.

Махуэшхуэр фок1адэм и 20-р адыгэм махуэшхуэу ягъэлъэп1эныр щ1ытраухуам щхьэусыгъуэ и1эщ.

-Ди адэжьхэм гъавэр къехьэл1эжын яуха нэужьт тхьэлъэ1ушхуэ ящ1у щыщытар. Илъэсыр къызэрехъул1энур ямыщ1эу джэгу яублэу щытакъым.Хуабэр блэк1ауэ,щ1ы1эр къэмысауэ,гъавэм и ныкъуэр кърахьэл1эжарэ, и ныкъуэр губгъуэ илъу,къызыхахынри я1эу гушхуэныр и чэзууэ къалъытэрти ,я хьэгъуэл1ыгъуэхэри абдежт къыщыдахыр.

Къыщынэмыщ1ауэ ,адыгэхэм я махуэр балигъэхэм я закъуэтэкъым зытещ1ыхьар. Абы 1эмал имы1эу хэтын хуейхэм ящыщщ сабийхэр А псор къалъытэри, гъэмахуэ мазэхэр блэк1ауэ, зызыгъэпсэхуахэри къек1уэл1эжауэ, къаруущ1эрэ мурадыщ1эрэ я1эу сабийри балигъри зэрызэхуэсыжыр къалъытэри фок1адэм и 20-р адыгэм и махуэу ягъэлъэп1эныр къалъытащи, ди нэхъыжьхэм дахуэхъуахъуэрэ ди нэхъыщ1эхэр щапхъэу едгъэлъагъуэу, куэдрэ псэун лъэпкъ тхьэм дищ1.

Махуэф1к1э Тхьэр зыхуэупсэм насыпым и бжэр зэ1уех,1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм пэублэ псалъэр хъуэхъум и жьант1эщи,хъуэхъуф1 зылъысын Тхьэм фищ1!
Уафэр къабзэу,щхъуант1эу
щ1ылъэр псомк1и гуак1уэу
мы дунейм тет макъхэр
ц1ыхухэм я щ1эщыгъуэу
къуалэбзу уэрэдхэр
ди щ1ылъэм итыну
дунеишхуэм и ц1ыхубэм
псалъэмакъыу къа1урык1ым
дыгъэ нур хэлъыну
нэмыплъ ц1ыхубэм зрамыту
гужьгъэжьгъхэр яку дэмылъу
хабзэр я1этрэ лъэпкъым къуэтхэу,
нэмыс ящ1рэ я щ1ыхьыр ину.

дэ абык1э дохъуахъуэ!

Езыгъэк1уэк1ым -Ц1ыху гъэсэныр сыт щыгъуи адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъ 1уэхуу, ялъытэр. Дэ ди къалэнщ лъэпкъым къыхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ц1ыху нэс къыхэтщ1ык1ыну. Ц1ыхум гъащ1эм щиубыдыну увып1эр елъытащ абы игъуэта гъэсэныгъэм.

Адыгагъэ, ц1ыхугъэ, адыгэ напэ, ек1у, емык1у жыхуэт1эхэр ф1ыуэ зэхащ1ык1ыу, я щхьэм пщ1э хуащ1ыжыфрэ загъэлъэп1эфу, я адэ-анэм, я лъэпкъым хуагъэфащэ хъунумрэ мыхъунумрэ зэхагъэк1ыфу ди сабийхэр къэгъэтэджыныр адэ-анэхэми, егъэджак1уэхэми – дэтхэнэ балигъми ди къалэн нэхъыщхьэщ.

Адыгэ хабзэм къызэщ1иубыдэ дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми езым и лъабжьэ, и къежьап1э и1эжщ. Адыгэ хабзэр къызэрыгуэк1 1уэху ц1ык1укъым.

Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар ,

Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.

Хабзэращ лъэпкъым и жьэгупащхьэр зыгъэблар,

Нэхъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумар.

Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уар,

А зыращ щ1алэм дамэ лъэщу къыхихар,

Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.

Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар

Хабзэращ нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар,

Уэ зыращ, Хабзэ, ди къэк1уэнур зыпытщ1ар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.

Ижь –ижьыж лъандэрэ ди щ1ып1эм къихьа дэтхэнэ зыри и дахагъым дехьэх,ар япэу щалъагъум пщ1ыхьэп1э дахэм хуэдэу къащохъу ик1и щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.

Езыгъ.- Ди хабзэм и фащэ нэхъыф1, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр, гъэзэщ1эныр.Адыгэр япэк1э к1уэ Нэхъыжь зэи к1элъыджэркъым. Ат1э лъэщ1охьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, ф1эхъус ирахри, ит1анэщ щеупщ1ыр.

Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр щхьэ лъап1э ихуэкъым,же1эр адыгэм.Мы псалъэжь 1ущым щ1элъыр аращи,нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1ым адыгэхэм зэи фэ ираплъу щытакъым.

Нэхъыжь блэк1ым ,сыкъоувы1э,

Зэпызупщ1ыркъым и гъуэгу,

Ар блэк1ыхук1э гъуэгу симы1э,

Хабзэм хъурэ удэджэгу.

Дади Нани я т1ысып1э

Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.

Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1э,

Яхузощ1ри пщ1э, нэмыс.

Лъэпкъым щхьэузыхь сыхухъуи!

Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.

Сощ1э ф1ыуэ ,жьы сыщыхъуи,

Згъуэтыжыныр нобэ сщ1арщ.

Ц1ыхур ц1ыхум зэхищ1ык1ым

Псоми дощ1эр – ар ц1ыхугъэщ,

Адыгагъэр – ар дахагъэщ,

Адыгагъэр – ар къабзагъэщ.

Адыгагъэр – ар пэжыгъэщ,

Адыгагъэр ди адыгэм

Адыгэпсэм ар и фащэщ,

Адыгэбзэм ар и щэнщ.

Нэхъыжьыф1хэу дади, нани ,

Гуащи, щауи, пщащэ ц1ык1уи –

Псори, псори зыгъэдахэр,

Я гуф1эгъуэхэр къэзы1этыр,

Я гугъехьыр зыгъэпсынщ1эр,

Я ц1ыху щ1ык1эу – адыгагъэрщ.

1эдэбагъщ, 1эсагъэщ, л1ыгъэщ.

Адыгагъэр – ар къарущ.

Адыгагъэр – ар ф1эл1ык1щ.

Адыгагъэр адыгэм и фэщ,

Адыгагъэр адыгэм ипкъщ,

Псэри, бзэри адыгагъэщ зейр,

Адыгагъэр адэм и псэщ…

Псэр хэк1ыжмэ ,къэнэжыр сыт.

Адыгэ хабзэр нэмысым, ц1ыхугъэм, л1ыгъэм, пэжыгъэм, ныбжьэгъугъэм , хьэщ1эм пщ1э хуэщ1ыным къыгуэх имы1эу епхащ. Ик1и а лъэп1эныгъэхэр ди лъэпкъым куэд щ1ауэ къыдогъуэгурык1уэ .Ар ди гъащ1эм и набдзэщ, ди гъащ1эм и купщ1эщ.

-Адыгагъэ,адыгэ хабзэ,нэмыс, дэтхэнэми пщ1э хуищ1у щытын хуейщ езым къыдалъхуа бзэм, и анэбзэм.Сыту жып1эмэ,бзэм и псалъэ дэтхэнэми хэпщауэ щытщ гур зыгъэгуф1э,дахагъэ 1уэхугъуэхэр уэзыгъэлэжь, ф1ым укъыхуезыджэ налъэхэр. Бзэм къаруушхуэ и1эщ щ1эблэм и гъэсэныгъэм и лъэныкъуэк1э.

Адыгэ къафэ, адыгэ къафэ

Адыгэм псэ и1эм и1эр уэращ.

Уэ уи макъамэ дуней гъэдахэм

Щ1эдэ1ум и псэм зэуэ зехъуэж.

-Адыгэ хабзэм хохьэ, адыгэ къафэри. Тэмэму, нэмыс пхэлъу утыку уитыныр.

Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зи1э къэхъукъащ1эщ.Адыгэ къафэ!Ар лъыр зыгъэжанщ,ц1ыхур зыгъэдахэщ,хьэл-щэн дахэр , ди лъэпкъым и 1эдэбагъыр,и щэныф1агъыр на1уэ къэзыщ1щ.

Езыгъ. — Ц1ыхур зэрыц1ыхур ищ1эжын щхьэк1э и хабзэм, и напэм, и лъэпкъым егупсысын хуейщ, и адэ-анэр игъэпэжу, абы яхуэфащэу, Нэхъыжьым пщ1э хуащ1у дунейм тетын хуейщ.

— Ди зэ1ущ1эр и к1эм ноблагъэ.Дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми лъабжьэ хуэхъуам хъуэхъу хужа1эж. Дэри ди гуапэу, гуми псэми къабгъэдэк1ыу дыхуейщ нобэ кърихьэл1а псоми хъуэхъук1э зыфхуэдгъэзэну.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Презентация к внеурочному занятиюо традициях кабардинского народа.

АДЫГАГЪЭР — НЭМЫСЩ, НЭМЫСЫР — НАСЫПЩ

Мурадхэр: Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу хъуным елэжьын; я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Мурадхэр: Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу хъуным елэжьын; я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Псом япэу фигу къэзгъэк1ыжыну сыхуейщ дызыщыпсэу щ1ып1эм и дахагъым. Апхуэдэ щ1ып1э щыпсэу ц1ыхухэм я хабзэри дахэу щытын хуейщ. Емыку1 дыдэу къысщохъу уи хабзэр имыхъумэжыну, абы и дерсхэр умыгъзащ1эу дунейм утетыну.

Псом япэу фигу къэзгъэк1ыжыну сыхуейщ дызыщыпсэу щ1ып1эм и дахагъым. Апхуэдэ щ1ып1э щыпсэу ц1ыхухэм я хабзэри дахэу щытын хуейщ. Емыку1 дыдэу къысщохъу уи хабзэр имыхъумэжыну, абы и дерсхэр умыгъзащ1эу дунейм утетыну.






Адыгэ хабзэр, адыгэ нэмысыр адыгэ л1ыгъэм, адыгагъэм къыгуэх имы1эу къыдэгъуэгурык1уащ. Абы къыхэк1ыуи адыгэхэм ди гъунэгъу лъэпкъ псоми адыгэ хабзэр яф1эхабзэф1у, пщ1э къыхуащ1у, адыгэхэм къазэрыхудэплъеиным хущ1экъуу щытащ.

Адыгэ хабзэр, адыгэ нэмысыр адыгэ л1ыгъэм, адыгагъэм къыгуэх имы1эу къыдэгъуэгурык1уащ. Абы къыхэк1ыуи адыгэхэм ди гъунэгъу лъэпкъ псоми адыгэ хабзэр яф1эхабзэф1у, пщ1э къыхуащ1у, адыгэхэм къазэрыхудэплъеиным хущ1экъуу щытащ.

Езы адыгэхэми адыгагъэр я напщ1эм телъу. Ирипагэу, иригушхуэу щытащ. Абы теухуауэ псалъэ дахэ, псалъэ пэж куэди жа1ащ. Дэри а псалъэхэр ди щапхъэу щытщ.

Езы адыгэхэми адыгагъэр я напщ1эм телъу. Ирипагэу, иригушхуэу щытащ. Абы теухуауэ псалъэ дахэ, псалъэ пэж куэди жа1ащ. Дэри а псалъэхэр ди щапхъэу щытщ.

Адыгэ псалъэжьхэр: 1.Хабзэмыщ1э емык1ухьщ. 2.Хабзэр бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым. 3.Хабзэм къемызэгъыр и бийщ. 4.Хабзэр лъэ1укъыми 1у махуэ 1уэхутхьэбзэкъым. 5.Хабзэжь хэкужь къранэркъым. 6.Хабзэр убзэ зыф1эщ1ым хуэпщ1энум и ныкъуэр къегъанэ. 7. Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ. 8.Нэмыс здэщымы1эм насыпи щы1экъым

2.Хабзэр бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым.

3.Хабзэм къемызэгъыр и бийщ.

4.Хабзэр лъэ1укъыми 1у махуэ 1уэхутхьэбзэкъым.

5.Хабзэжь хэкужь къранэркъым.

6.Хабзэр убзэ зыф1эщ1ым хуэпщ1энум и ныкъуэр къегъанэ.

7. Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ.

8.Нэмыс здэщымы1эм насыпи щы1экъым

9. Нэмыс пщ1ымэ уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. 10.Нэмысыр лъэ1ук1э къахьыркъым. 11.Нэмысым насып къыдок1уэ.

9. Нэмыс пщ1ымэ уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. 10.Нэмысыр лъэ1ук1э къахьыркъым. 11.Нэмысым насып къыдок1уэ.

Ди щ1ып1э берычэт дахэмрэ, ди хэбзэмрэ ещхьщ ди фащэри. Ди адыгэ фащэм нэхъ дахэ лъэпкъ куэдым ящыгъыу щыбгъуэтынкъым.

Ди щ1ып1э берычэт дахэмрэ, ди хэбзэмрэ ещхьщ ди фащэри. Ди адыгэ фащэм нэхъ дахэ лъэпкъ куэдым ящыгъыу щыбгъуэтынкъым.

 Фащэм теухуа псалъэжьхэр. Укъыздамыщ1эм ущыгъынщи, укъыздащ1эм уакъылщ. Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ. Бзылъхугъэм и 1эщхьи, и щхьи и фащэщ. Дахагъэр зэк1ужщи, зэк1ужыр фащэщ.

Фащэм теухуа псалъэжьхэр.

  • Укъыздамыщ1эм ущыгъынщи, укъыздащ1эм уакъылщ.
  • Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ.
  • Бзылъхугъэм и 1эщхьи, и щхьи и фащэщ.
  • Дахагъэр зэк1ужщи, зэк1ужыр

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэ фащэм ущрихьэл1энур къэфа1куэ гупым хэтхэмрэ, музейхэмрэщ.

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэ фащэм ущрихьэл1энур къэфа1куэ гупым хэтхэмрэ, музейхэмрэщ.

Шум бзылъхугъэ гъуэгум ирик1уэу хуэзамэ…

Шум бзылъхугъэ гъуэгум ирик1уэу хуэзамэ…

Ц1ыхухъур шым къепсыхыу бзылъхугъэм блэк1ыху шыр 1эдэжу ишэу щытащ.

Ц1ыхухъур шым къепсыхыу бзылъхугъэм блэк1ыху шыр 1эдэжу ишэу щытащ.

Нэхъыжь щыту зэи умыт1ыс!

Нэхъыжь щыту зэи умыт1ыс!

1.Псом япэ ц1ыхум зыщалъхуа хэкур ф1ыуэ илъагъуу, игъэпэжу щытын хуейщ. 2.Нэмыс, ук1ытэ тхэлъын хуейщ. Нэхъыжьхэм пщ1э хуэщ1ын хуейщ. Нэхъыжьхэм я псалъэ зэпыдуд хъунукъым. 3. Нэхъыжьхэм я гъуэгу зэи зэпаупщ1ыркъым. 4.Адэ-анэм жа1эм деда1уэу, ахэр ф1ыуэ тлъагъу щытын хуейщ.

1.Псом япэ ц1ыхум зыщалъхуа хэкур ф1ыуэ илъагъуу, игъэпэжу щытын хуейщ. 2.Нэмыс, ук1ытэ тхэлъын хуейщ. Нэхъыжьхэм пщ1э хуэщ1ын хуейщ. Нэхъыжьхэм я псалъэ зэпыдуд хъунукъым. 3. Нэхъыжьхэм я гъуэгу зэи зэпаупщ1ыркъым. 4.Адэ-анэм жа1эм деда1уэу, ахэр ф1ыуэ тлъагъу щытын хуейщ.

Ди пщэдджыжьхэр ф1ыуэ щытын папщ1э, ц1ыхуу дунейм тету хъуар, ф1ыуэ дызэрылъагъуу, дызэхуэгумащ1эу, дызэдэ1эпыкъуу дыщывгъэт! Зэи зыщывмыгъэгъупщэ дыкъызыхэк1а лъэпкъыр! Ди хабзэр зыхъумэну дызыщыгугъыр фэращ. Фызэрыадыгэр зэи зыщывмыгъэгъупщэ!

Ди пщэдджыжьхэр ф1ыуэ щытын папщ1э, ц1ыхуу дунейм тету хъуар, ф1ыуэ дызэрылъагъуу, дызэхуэгумащ1эу, дызэдэ1эпыкъуу дыщывгъэт! Зэи зыщывмыгъэгъупщэ дыкъызыхэк1а лъэпкъыр! Ди хабзэр зыхъумэну дызыщыгугъыр фэращ. Фызэрыадыгэр зэи зыщывмыгъэгъупщэ!

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ — ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

Абы хуэунэтIауэ нэхъ гулъытэ хуэщIын хуейщ зи гугъу тщIа адыгэхабзэ, нэмыс, хьэлщэнхэм теухуа гъэсэныгъэм. КIэщIу жыпIэм щIэблэщIэргъэсэнымкIэ, нэгъуэщI дызыщымыгугъын дыщымыгугъыу унагъуэхэм, лъэпкъым щекIуэкIлэжьыгъэр щIэгъэхуэбжьэн хуейщ. Абы теухуауэ куэд щIакъым ди лъэпкъ Хасэмхэтхэр щIалэгъуалэ еджапIэхэм щIэсхэм захуэдгъэзащ икIи дызэгурыIуащ лъэпкъщIалэгъуалэм и къудамэ Хасэм къызэдгъэпэщу гъэсэныгъэм теухуа лэжьыгъэхэредгъэкIуэкIыну. Абы и лъабжьэу щытыныр. хабзэ, нэмыс, хьэлщэн дахэу адыгэмяхэлъу щытар къыдэтхыжу, гъэсэныгъэм къыщыдгъэсэбэпу ди щIалэгъуалэр гъуэгутэмэм теувэным, лъэпкъым и пщэдейр нэхъефIакIуэу дунейм тетын папщIэ.

АбыкIэ инми, цIыкIуми щхьэж хулъэкI къимыгъэнэу къабгъэдэлъ икъалэныр гъэзэщIэн хуейщ. Мы тхылъ цIыкIури зытеухуар гъэсэныгъэрщ: чэнджэщхэр,щапхъэхэр, хабзэрэ, нэмысрэ, цIыху дуней тетыкIэм, хьэлщэн хэлъын хуейхэрзэригъэгъуэтын папщIэ, сэбэп къытхуэхъуну аращ.

Мы зи гугъу тщIа адыгэ нэмысым, хьэлщэнхэм теухуар уи нэгукъыщIэбгъыхьэ хъунущ жыг дахэу гъэгъауэ, уеплъмэ узыIэпишэу, гъащIэри, дунейриигъэдахэу. Сэ сыхуейт а жыг дуней гъэдахэм щьщ къудамэ зыщыплIым сатепсэлъы­хьыну,ар ди щIалэгъуалэм ябгъэ­дэслъхьэну. Ар теухуащ адыгэхэм хабзэнэмысхэу,хьэлщэнхэу нэхъ хъуэпсэгъуэу къалъытэхэм.

– Зи нэхъыжь едаIуэ и Iуэху мэкIуатэ. ЩIэблэщIэр гъэсэныммыхьэнэшхуэ иIэщ, унагъуэм щыщ нэхъыжьхэм, нэмысу, пщIэуэ щагъуэтым,зэгурыIуэныгъэу унагъуэм илъым.

Адэшхуэртхьэмадэр, анэшхуэр гуащэр, нысэрсабийхэм я анэр, адэр,адрей унагъуэм исхэр зэрызэхущытыр, сабий гъэсэным мыхьэнэуэ иратым, щапхъэирагъэлъагъум къыхокI щIэблэщIэм хабзэу къищтэнур, нэмысу зыхилъхьэнур,игъащIэкIэ къыдекIуэкIыну хьэлщэн хуэхъунур. Унагъуэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу,зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, я къэлэнхэр тэмэму ягъэзащIэу щытмэ – нэмилъагъур Iэм ещIэжжыхуиIэращи, гъэсэныгъэ тэмэм иIэу щIэблэр къэтэджынущ.АращфIыгъуэм и нэхъыщхьэр зэгурыIуэныгъэрщ щIыжаIэр, икIи ар зэрылъ унагъуэмшэч хэмылъу щIапIыкI щIэблэщIэр гъэсауэ, хьэлщэн дахэ хэлъыу лъэпкъымкъытщIэувэнущ.

Псом хуэмыдэу къыхэгъэщыпхъэщ гуащэтхьэмадэмрэ нысэмрэ язэхущытыкIэм. Iуэху тыншкъым зы унагъуэ щапIа цIыхубзыр нэгъуэщI унагъуэ ихуанэужь и псэукIэм, дуней тетыкIэм зэрызихъуэжыр, икIи мамыру псэун папщIэ нысэрзэрыхьа унагъуэм задищIыу, задригъэкIуу, унагъуэм исхэм хуэфащи пщIэ, нэмысяхуищIу ядэпсэун хуейщ. 3ыхэхуа унагъуэри нысэм къилэжь нэмыс, пщIэ хуащIу,адрей я бынхэм хуэдэу фIыуэ ялъагъуу, хьэлщэн дахэм хуагъасэу зэдэпсэун хуейщ.Унагъуэм ихьа дэтхэнэ зы цIыхубзри мэгугъэ насып, пщIэ, щигъуэтыну. НэхъыжьымпщIэ, нэмыс къи­лэжь къудейкIэ зэфIэкIыркъым, абы щIэблэщIэр гъэсэнымкIэ,ущиинымкIэ

щапхъэ дахэ иригъэлъэгъунымкIэ къалэн куэд къыпэщылъщ. НэхъыжьымгъащIэм щилъэгъуа, зыхуэза Iуэхугъуэхэм къахиха дерсхэр щIэблэщIэмялъигъэскIэрэ гъуэгу захуэ тригъэувэну, цIыхугъэ яхэлъу щIэблэщIэр егъэсэным.Абы къокI уи гум фIы илъу, уи лэжьэгъуи, уи ныбжьэгъуи, уи цIыхугъизэрыпхузэфIэкIкIэ сэбэп уахуэхъуну, гуфIэгъуэ зиIэм уадэгуфIэу,ядэпIэту. Гузэвэгъуэ зиIэм ядэбгъэпсынщIэу. Нэхъыжьым и къалэнщ цIыху зэхэщIыкIыншэм,гущIэгъу зыхэмылъым, цIыхухэм дыджу яхущытыным игъэцIыхужыну. АбыкъыгуригъэIуэфу щытын хуейщ, пщIэ цIыхум хуэзмыщIыр псом япэу и щхьэм пщIэзэрыхуимыщIыжыр, абы гъуэгу махуэ зэримыгъуэтынур.

Нэхъыжьыр нэхъыфIщ, нэхъгубзыгъэщ, гъащIэм нэхъ хещIыкI икIи абы и чэнджэщхэм нэхъыщIэр едаIуэмэщIегъуэжынкъым. ЩIэблэщIэ гъэсэнымкIэ нэхъыжьхэм нэхъ гулъытэ, бгъэдыхьэкIэтэмэм яIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абыхэм я бынхэр щапIым, щагъасэм щыуагъэяIахэр, ягу зыхуэныкъуэу я бынхэм ирамытыфа хьэлщэнхэр я къуэрылъхухэр,пхъурлъхухэр щагъасэм щыуагъэ яIахэр ягъэзэхуэжынущ.

Адыгэ нэмысым къызэриубыдымкIэ нэхъыжьым кIэлъызехьэн хуейщ пщIэ,хабзэ. Нэхъыжьыр зыгъэлъапIэм Iэмал имыIэу и щхьэр лъапIэ хъужынущ. Абы къокIнэхъыжь псалъэр, абы и унафэр бгъэзэщIэн хуейуэ, и псалъэр зэпыбуд, гъуэгузэрыкIуэр зэпыбупщI мыхъуну, абы и пащхьэ ущитым Iэдэбу, нэмыс пхэлъу ущытыну.ЩIалэгъуалэр нэхъыжьхэм къалъагъуу тутын, аркъэ ефэну хабзэкъым: ар зыдэщысIэни хуит укъимыщIауэ утIысын хуейкъым. Езы нэхъыжьри нэмысыфIэу, зышыIэ иIэу,бзэ щабэ, дахэ яIурылъу, нэхъыщIэр яущийуэ щытын хуейщ. Нэхъыжьым теухуа псалъэжьхэрзэвгъащIэ, икIи вгъэзащIэ. Абыхэм ящыщщ мыхэр:

– нэхъыжьыр гъэлъапIи уи щхьэр лъапIэ хъунщ;

– нэхъыжьыр щыуамэ нэхъыщIэм и мыгъуагъэщ;

– нэхъыжьым пщIэ хуэщI, нэхъыщIэм гъуэгу ет;

– жьым щытхъуи, щIэр къащтэ;

– нэхъыжьыфI зыдэщымыIэм нэхъыщIэфIи щыIэкъым;

– зи нэхъыжь едаIуэ и Iуэху мэкIуатэ;

– зи нэхъыжь зымылъытэм и щхьэр илъытэжыркъым;

– нэхъыжь и псалъэ тIу ящIыркъым и унафэ якъутэжыркъым;

– уи нэхъыжьыфI дуней темытыжым и гугъу щащIкIэ къэтэдж.

Адэанэмрэ гъэсэныгъэмрэ: щIалэгъуалэр тэмэму унагъуэм гъэсащыхъуным и лъабжьэ нэхъыщхьэр, псоми ээрытщIэщи, адэанэм деж къыщожьэ. Унагъуэрмамыру, сабийхэр зыхуей хуэзэу, узыншэхэу, гъэсэныгъэ тэмэм ягъуэту, насыпыфIэугъащIэ гъуэгум теувэн папщIэ нэхъыщхьэ дыдэр зэлIзэфызыр зэгурыIуэу,зэдэIэпыкъуу, псалъэ лей куэд унагъуэм имылъу, зым жиIар адрейм имыкъутэжу,быныр гъэса зэрыхъун Iуэху яужь итынырщ.

Адэанэм я къалэн нэхъыщхьэу гъащIэм щаIэщ я щIэблэщIэр гъэсэнымкIэмыхьэнэшхуэ зиIэ езыхэм, я дуней тетыкIэр, якум зэхуилъ хьэлщэнхэр, нэмысузыдаIыгъэхэр, щапхъэ ягъэлъагъуэхэр. Сабийм узэримыгугъэу куэдым гу лъетэ,фIыри, Iейри зэхащIыкI, икIи а илъагъур фIымэ фIымэ мэгушхуэ, абы къыхехзыхилъхьэну хьэлщэн дахэхэр. Илъагъур мыхъумыщIэмэ сабийм и гум ар йоуэ,егъэнэщхъей, икIи гъащIэм щигъуэтыну хьэлхэм, хэлъыну нэмысырэ хабзэр аилъэгъуам хуэдэу мэхъуж.

ГъащIэм куэдрэ къыщохъу адэанэр сабийр фIыуэ долъагъу жаIэущагъэкIыу, яхуэщIэну унагъуэ лэжьыгъэхэр ирамыгъащIэу, зэрыджэгу хьэпшыпцIыкIухэр зэлъыIуахыжрэ и пIэм зэрагъэтIылъыжын хуейр къалэн щамыщIу. Сабиймзыри имыщIэу телевизорым сыхьэт бжыгъэкIэ бгъэдэскIэ гъэсэкIэ тэмэмигъуэтынукъым, сыт щхьа жыпIэмэ, а телевизорым сабийр щIэбгъэджыкIыну, хьэлщэнгуакIуэ гуэр щилъагъуркъым, уеблэмэ щилъагъур мыхъумыщIэрэ, зыщыхъумэн хуейдуней тетыкIэрщ. Гу лъыдмытэурэ, хуэмхуэмурэ мы ди зэманым зэраныгъэ ингъэсэныгъэм теухуауэ къехь махуэ къэс зэхэтх, тлъагъу ди къэрал хабзи, нэмыси,лэжьэкIи, псэукIи здэщымыIэжым. Абы къыхэкIкIэ Iэмал зэриIэкIэ щыхъумэн хуейщсабийхэр ээраныгъэ къэзышэ къагъэлъагъуэхэм нэхъ мащIэу еплъын хуейщ. Дэтхэнэсабийми хуызэфIэкIын Iуэху гуэрхэр унагъуэм махуэ къэс щигъэзэщIэныр, пщIэ,сэбэпынагъэ, гъэсэныгъэ гуэрхэр къызыхихын тхылъхэм еджэныр къалэн ткIийящыпщIым сэбэпышхуэ къишэнущ. Адэанэм нэхъ гулъытэ хуащIыу щытын хуейщ, ящIэблэщIэм хьэлщэн дахэ яхэлъу гъэсэным, ар щыцIыкIум деж къыщыщIэдзауэ егъэсэнхуейщ нэхъыжьым пщIэ хуищIу, даIуэу, унэм сэбэп щыхъуу, Iэнэ бгъэдэсыкIэ,щьшхэкIэ, гупым щахэткIэ, щахэскIэ нэмыс, гупсысэ хэлъу, жимыIэн жимыIэу,имыщIэн имыщIэу. ЩIэблэщIэр егъэджэн хуейщ цIыхум яхыхьэн нэщхъыфIэу сэламярихыу, гуапэу псалъэу, тэмэму упщIэхэм жэуап яритыжу.

ЩIэблэщIэм ищIэн хуейщ:унэм ущIэсу, е нэгъуэщIыпIэ ущысу цIыхубзкъыббгъэдыхьэмэ къэтэджын зэрыхуейр. Гупым ущыхэскIэ уи гъунэгъум куэдрэуемыIущащэ. Уи щхьэ ущытхъужу гупым уахэсыныр емыкIущ. Ауан хэлъу нэгъуэщIымдэгушыIэныр къезэгъыркъым. ЦIыхубзхэм, нэхъыжьхэм нэмыс, пщIэ, гулъытэзэрыхуэпщIыным яужь уитын хуейщ. ЦIыхум ущепсалъэкIэ къекIуркъым тутыныр уижьэм жьэдэлъу, уи Iэр уи жыпым илъыныр. Ину удыхьэшхыну, упсэлъэну, Iэпэтэрмэшкуэдрэ пщIынри къезэгъыркъым. Сыт щыгъуи узыкIэлъыплъыжу, уи пкъыр захуэу, уищхьэр Iэтауэ, уи зекIуэкIэр захуэу, уземыщатэу къэкIухьыным зегъэсэн хуейщ.Егъэсэн хуейщ щIэблэщIэр Iэнэм дахэу, нэмыс хэлъу бгъэдэсыфу. КъекIуркъым псынщIэуушхэну, уи жьэм ерыскъы куэд зэуэ жьыдэплъхьэну, уи IэфракIэр столым телъыну,уи жьэм ерыскъы жьэдэлъу yпcэлъэну, aдкIэмыдкIэ зыпшэу Iэнэм ущысыну. ТхыдэмкъызэрыхэщымкIэ адыгэхэр ипэкIэ узыншэу, къарууфIэу, лIыгъэ яхэлъу,Iэпкълъэпкърэ, кIуэцIкIэ узыншэу щытщ, икIи зышыIэ, зэтетыныгъэ, Iэдэбагъэяхэлъу псэуащ. Ар къызыхэкIыу щытар адыгэхэм щысабийм къыщыщIэдзауэ гулъытэхэха хуащIырт цIыхур бэшэчыгъэ хэлъу гъэсэным, хьэл мыхъумыщIэхэр хэмылъу,псыхьауэ къэгъэхъуным, и узыншагъэм зэран хуэхъу фадэр, тутыныр я хьэрэмузэрыщытар.

Тхьэр ягъэпцIу, цIыкIуми инми

ЯмыщIэжу лъэпкъи, къупщхьи

Фадэр мылъкукIэ зэрахъуэкI.

Хьэблэ цIыкIур дожьэражьэ

Къытхэтыжкъым зыри лажьэ

Арщ ныбжьэгъухэ перестройкэм

– И Iэужьым къытхуихьар

Хьэблэ къэскIэ зы бригадэ

Щефэ, щешхэу дызыщIар.

Ц1ыхухъу тIэкIур даукIыну

Мурад мыгъуэ къытхуащIащ

Мы тхыгъэм къегъэлъагъуэ ди къэралым хабзи гъэсэныгъи щымыIэжу,цIыхухэр зеиншэ жыхуаIэм хуэдэу къызэхэнауэ, щхьэж и гум къихьэр ищIэу, шыни,укIыти ямыщIэжу къызэрызэхэнар. Абы ипкъ иткIэ нэхъ Iуэхугъуэшхуэу дэ къытпэщылъырмы къекIуэкI дуней зэхэзэрыхьам Iэмал псори къэдгъэсэбэпу ди лъэпкъыр пщэдейгъащIэр къызыхуэнэну ди щIэблэщIэм гъэсэныгъэ яхэлъу зэрытхъумэнырщ. Псом япэухуэсакъын хуейщ щIэблэм фадэр пэIэщIэ, абы димыхьэхыным теухуа IуэхугъуэхэмщIэгъэхуэбжьэным, щIалэгъуалэм лъэпкъым, унагъуэхэм дырагъэкIуэкIын хуейгъэсэныгъэр цIыкIуми, иными, жьыми щIэми я къалэн нэхъыщхьэу ябжыжыну.

ЦIыхум гъэсэныгъэр щигъуэтыр унагъуэм къыщыщIидзэу щыщыткIэ, абыис адэшхуэанэшхуэм, адэанэм адрей балигъ хъуауэ унэм исхэм нэхъ къалэнышхуэукъапэщылъщ щIэблэщIэм игъащIэкIэ къадекIуэкIыну хьэлщэн нэхъыфI дыдэхэмхурагъэджэну, хуагъэсэну. Псом япэу ибгъэувэ хъунущ цIыхур зыгъэдахэ,зыгъэлъапIэ щэнхэр:нэмысыфIэ, тэмакъкIыхь, бзэ дахэ, жыIэдаIуэ, бэшэчагъ яхэлъугъэсэныр. Ар зыхузэфIэкI адэанэр псэухукIэ и щIэблэм щыгуфIыкIыу, и щхьэрлъагэу илъагъужу, дунейм пщIэрэ, нэмысрэ щигъуэту псэунущ. Сыт хуэдэу мыгугъумиадэанэм нэхъ я нэIэ тету щытын хуей сабийр тэмакъкIыхьу, зышыIэ иIэу, гузэвэхыущымыту цIыхум яхэтыну. ЗышыIэ зиIэм, акъыл иIэщ жаIэ адыгэхэм. Иджырей зэманзэхэзэрыхьам зышыIэныгъэ зимыIэм, тэмакъкIэщIхэм езыхэми, зыхэт цIыхухэми я гумимыкIыжын псалъэ бзаджэ зыжыраIэ, я зэхущытыныгъэри, я узыншагъэри абыныкъусэныгъэшхуэ къахуехь. Аращ сабийр щыцIыкIум къыщыщIэдзауэ хуэгъэсэнщIыхуейр и гум зыгуэр дэхуэу, ипэкIэ плъэрэ зэгурыIуэныгъэм зэрыхущIэкъун IуэхуеплъыкIэ иIэу гъэсэн щIыхуейр. Апхуэдэращ щIыжаIэр делэм уэ фIэкI, губзыгъэркъыпфIэкIынщ жаIэу. ЦIыху зэпIэзэрытыр, гъэса хъуам гъуэгу захуэ ирикIуэнуIэмал къезытыр гупсысэрщ, зышыIэныгъэрщ. Абыхэм къуат Iэмал зэгурыбгъэIуэфынужьыри, щIэри, къуаншэри, захуэри. Апхуэдэ гъэсэныгъэ зыгъуэта щIэблэщIэ куэдТхьэм къыдит.

Адэанэм, унэм ис псоми гулъытэшхуэ хуащIын хуейщ щIэблэргъэсэным:жиIэр игъэпэжу, псэ щабэ, гу щабэ иIэу, щэныфIэу, цIыху пэжу, гъащIэмкъыщыхъу Iуэхугъуэхэу гуфIэгъуэ, нэщхъеягъуэ, хьэгъуэлIыгъуэ нэгъуэщIхэмизэрыхыхьэн, абы щызепхьэн хуей хабзэхэр, нэмысхэр яхэлъу. Шэч хэлъкъым адэанэмяпщэ дэлъ къалэныр, гъэсэныгъэм теухуар икъукIэ зэрыIуэху гугъум. Дауэ щымытми,лъэпкъым къихъуэ сабийр гъэсэныгъэ тэмэм иIэу къытщIэхъуэныр къалэн нэхъмыхьэнэшхуэ зиIэу щытщ хэт дежкIи. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ гъэсэныгъэ зымыгъуэта зыцIыхуми лъэпкъ напэр трихыфынущ. Тхьэм абы дыщихъумэ.

Сабийр тIэкIу къэжэпхъамэ, гъэсэкIэ тэмэм игъуэтарэ имыгъуэтарэкъызэращIэр ар и адэшхуэанэшхуэм, анэадэм зэрыхущытыр, пщIэ зэрыхуищIыр, ахэргугъу къызэрыдехьар къыгурыIуэу, фIыуэ илъагъуу, дэIэпыкъуу, я гуапэ зэрищIыняужь зэритырщ.

ЩIэблэщIэм ящIэн хуейщ адыгэхэм игъащIэм анэм пащI зэрыщымыIар,икIи ябжырт зи анэр зымыгъэлъапIэм, пщIэ хуэзмыщIым имыщIэфын мыхъумыщIагъэщымыIэу. ЩIэблэщIэм хуэдэн хуейкъым Iуэхуншэу уэрамым дэтыну, нэхъыжьхэм хуитямыщIауэ куэдрэ къакIухьыну. Абы и къалэнщ я щхьэм пщIэ хуащIыжыфу, я адэанэмхуэфащэу нэмыс, хьэлщэн дахэ яхэлъу дунейм тетыну.

Адэанэм теухуа псалъэжьхэр:

– Адэанэм яхуэтщI нэмысыр уи быным къыпхуищIыжынущ.

– Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.

– Уи адэм и фIагъыр уэ уи щытхъукъым, быныфI упIмэ къыпщытхъунщ.

– Зи анэ зымыгъэпэжым нэгъуэщI игъэпэжынкъым.

– Зи анэ фIыуэ зымылъагъум нэгъуэщI хуэлъагъунукъым.

– Щхьэгъусэр насып зэхэкIыпIэщ. ЛIым и узыншагъэр фызым и фIыгъэщ.

– ФызыфIым и Iэнэзэтетщ.

Хъыджэбз цIыкIур апхуэдэу къэхъун папщIэ хуэдэн хуейкъымщхьэхуиту, Iуэхуншэу уэрамым дэтыныр, къикIухьыныр. И ныбжьым елъытауэ цIыхубзцIыкIур егъэсэн хуейщ унагъуэ Iуэхухэр ищIэфу, къалэн пыухыкIахэр и пщэм илъунэхъыжьми, нэхъыщIэми пщIэ, гулъытэ яхуищIу. Ар унагъуэ имыхьэ щIыкIэхуегъэджэн хуейщ цIыхубз цIыкIум къыпэщылъым и псэукIэм, и дуней тетыкIэмзэрызихъуэжынур, зэрыхьэ унагъуэм я псэукIэм, я хьэлщэнхэм зыдригъэкIунзэрыхуейр. Хуегъэджэн хуейщ хъыджэбз цIыкIур тхьэмадэм, гуащэм, пщыпхъум,пщыкъуэм хуищIын хуей нэмысхэм хабзэхэм, тэмакъкIыхьу задригъэкIун зэрыхуейм.Ещхъыркъабзэу нэрыбгэ къыпхыхьэ цIыхубз цIыкIури гъэсэн хуейщ унагъуэм пщIэ,нэмыс щызэрихьэу, псоми зыдригъкIуу зэрыпсэуным, уи быным узэрыхущытыным хуэдэуфIыуэ плъагъуну, ебгъэджэну, бгъэсэну.

ЦIыхум и гъащIэм сыт и лъэныкъуэми теухуауэ зыри щыIэкъымцIыхубзым нэхъ къэзылэжь пщIэрэ, лъагъуныгъэрэ, нэмысрэ. Дуней псом цIыхуутетыр къэзылъхуар, зыпIар, зыгъэсар цIыхубзырщ.

ЦIыхубзыр aнэщ, шыпхъущ, щхьэгъусэщ. Дyнeйм тету пIэрэ абыхэмяпэпщI хъун? Уи нэгу къыщIэгъыхьэт зэрызу дэтхэнэ зыри, а плIым щыщу. Сыту куэдyиry къигъэкIыжрэ, куэдым уригъэгупсысрэ уагъэпIйтейрэ абыхэм. Хэт пэпщI хъунуанэ укъэзылъхуар, псэ пIуту дунейм укъытезыгъэхьар, мэзибгъукIэ кIуэцIкIэукъезыхьэкIар, бадзэ къыптетIысхьэмэ и гур узу, езым и псэр, и тыншыгъуэр яужькъригъанэрэ уэ къыптегужьеикIауэ узыхуей уээрыхуигъэзэным хущIэкъуу гъэсэныгъэкъуиту узыпIар? Ар зэикI зыщыбгъэупщэн хуэмейми, ди жагъуэ зэрыхъущи, къохъущытщыгъупщэ, икIи анэм дэ къытхуищIар хуэдмыщIэжыфу, щIыхуэшхуэ ттелъу дыкъонэ.Ар нэхъыбэрэ къыщытщIэжри щыдимыIэжым дежщ. Сыхуейт ар фигум имыхуу, щIалэгъуалэ псоми, анэм къилэжьпщIэр игъуэтыжынымкIэ къалэнхэр вгъэзэщIэну. Псалъэжьу щыIэщзи анэрзымыгъэлъэпIэжым, фIыуэ зымылъагъужым нэгъуэщI хуэгъэлъэпIэнукъым, фIыуэхуэлъагъунукъым жари. Ар зыщымыгъупщэн щIалэгъуалэ Тхьэм фытхуищI. Анэр,лъэпкъыр, хэкур фIыуэ зылъагъур, зыгъэпэжыр, зыхъумэр цIыху гъэсащ, пэжыгъэзыбгъэдэлъщ, зи напэр шэкIэ тхьэщIарщ жыхуаIэм хуэдэщ. Зи щIэблэщIэр апхуэдэхъуну ди лъэпкъыр Тхьэм ищI. Анэм укъыфIэкIым етIуанэу цIыхубзым цIэ лъапIэузэрехьэ, егъэзащIэ шыпхъу къалэныр. Шыпхъур и гумащIагъэкIэ, щэбагъкIэ,IэфIагъэкIэ, лъагъуныгъэкIэ анэ папщIэщ. Уи анэр ущимыIэжым деж анэншэуукъэнауэ къыпщыхъунукъым шыпхъу уиIэу щытмэ. Шыпхъум и гур сыт щыгъуи гъэзащанэадэм, къыдалъхуахэм дежкIэ. Ахэр зыхуейм хуэмызэмэ, зыгуэрым хуэныкъуэмэ,гукъеуэ гуэрхэр яIэмэ шыпхъум и щхьэр къигъэнэнурэ къэзылъхуа, къыдалъхуахэрзыхуей зэрыхуэзэнум яужь итынущ. Шыпхъум и гумрэ и псэмрэ тхьэщIащ, къабзэщпсэухукIэ лъэпкъ къызыхэкIам, унагъуэ щапIам, къэзылъхуамрэ, къыдалъхуахэмрэпапщIэ.

2 Мурадыр: 1. Еджак1уэхэм адыгэ ф1эхъусыр егъщ1эн: 2. Къэк1уэну щ1эблэр утыку итыфу егъэсэн, я бзэмк1э хуиту псэлъэфу тегъэгушхуэн. 3. Нэхъыжьыф1хэм пщ1э, нэмыс зэрыхуэщ1ын хуейм щыгъэгъуэзэн. 4. Хьэлщэн дахэ яхэлъу къэгъэтэджын.

3 Ц1ыху ц1ыхум зэхищ1ык1ым, Щыгуф1ык1ыу игъэгушхуэм Игъэпэжым игъэлъап1эм, Псоми дощ1эр — ар ц1ыхугъэщ, Нэгъэсауэ адыгагъэщ Адыгагъэр – ар ц1ыхугъэщ.

4 Къытхуэк1уэм тф1эф1щ ди хьэщ1э махуэ Къеблагъэ!- жыт1эу ды1ущ1энщ Ирегъэмахуэ е щ1ымахуэ, Дэ зэрытлъэк1к1э дгъэхьэщ1энщ.

5 Ди1эщ адыгэм хабзэ дахэ: Ди унэм къихьэу щытмэ хьэщ1э, Ар хэту щытми, къепсыхахэм Бысымыр гуапэу хуейщ 1ущ1эн.

7 1.Дуней псом къыщац1ыхуу хъыджэбзхэми щ1алэхэми фащэ дахэ ящыгът. Адыгэ фащэ. 2. Къэуат зыщ1элъ адыгэ шхыныгъуэ зэмылъэужьыгъуэхэр яупщэф1т. 3. Адыгэ унагъуэм сабий ц1ык1у къахэхъуа нэужь гущэхэпхэ, лъэтеувэ, кхъуей плъыжь к1эрыщ1э жыхуа1эхэрхуащ1ырт,ягъэлъап1эрт. 4. Сабий щагъасэк1э щ1мык1иеу, удын ирамыхыу ягъэсэфырт. Джэгук1э куэд щы1эт.

8 1. Адыгэ хабзэр пщ1эн хуейщ, емык1у къомыхьу узыхыхьэм уахэтын папщ1э. 2. Пэжыр жып1эфу, захуэм урителъхьэу, умышынэу ущытын щхьэк1э. 3. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1у, сабийм дыхуэсакъыу къэхъун папщ1э. 4. Хабзэм дытепсэлъыхьрэ, хабзэмыщ1э дымыхъуу, ф1ыуэ зыхэтхыр, дахэу тлъагъур хьэлщэн тхуэхъун папщ1э.

9 Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьэр. Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар. Хабзэращ лъэпкъым жьэгу пащхьэр зыгъаблэр. Нахъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумэр. Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уэр, А зыращ щ1алэм дамэ лъэщыр къыхихар Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар. Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар, Хабзэращ нобэ намыс ди1эр къэзыхьар. Уэзыращ, хабзэ, ди къэк1уэнур зыпыщ1ар. Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.

10 Хабзэм, нэмысым теухуа псалъэжьхэр дигу къэдывгъэк1ыжыт. — Хабзэрэ бзыпхъэрэ – хабзэмыщ1э – щ1ык1ейщ. — Хабзэр бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым. — Хабзэф1ыр къегъэжьэгъуейщ, ауэ хэгъэк1уэдыгъуаф1эщ. — Нэмыс зимы1эм нэсып и1экъым. — Нэмысыр хьэхууи ятыркъым, щ1ыхуэуи къащтэркъым.

11 — Нахъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым. — Нэхъыжьыр къоувы1эри нахъыжьыр благъэк1. — Нахъыжьым еда1уэ, нэхъыжьым пщ1э хуэщ1. — Нэхъыжьыр умыгъэпуд. — Нэхъыжьыр гъэлъап1и, уи щхьэр лъап1э хъунщ.

12 — Адыгэ лъэпкъым фыкъызыхэк1ар зыщывмыгъэгъупщэ. — Адыгэ хабзэ, нэмыс зыхэвгъэлъ, фхъумэ. — Фи адэ хэкужь хуэфщ1эн быну фыщыт. — Адыгэ напэр тезмыхын щ1эблэу фыкъэхъу..

13 — Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ. — Хьэщ1эм насып къыдок1уэ.

18 Лъэпкъыр ар 1эплъэпкъщ Бзэр абы и псэу ялъытэ Ат1э хабзэр лъэпкъым и фащэщи А фащэр зедывгъыхьэ.

Читайте также:

      

  • Маленькие люди башмачкин и червяков сочинение
  •   

  • Сочинение на английском про владивосток
  •   

  • Сочинение на тему моя профессия 8 класс
  •   

  • Сочинение по сказке сестрица аленушка и братец иванушка
  •   

  • Сочинение на тему что такое вежливость с вводными словами


  • О нас


    • Организаторы


    • Новости


    • Поездки


    • Статьи


    • Галерея



  • Конкурсы


    • Номинации


    • Правила участия


    • Результаты


    • Конкурсные работы


  • Награды


  • Партнеры


  • Скачать


  • Отправить


  • Контакты

Образовательный проект «Хочу все знать» включает в себя интеллектуально-познавательные, развивающие очные и заочные конкурсы для детей по направлениям:

  1. РОДНОЙ ЯЗЫК И ЛИТЕРАТУРА
  2.  

  3. МАТЕМАТИКА
  4.  

  5. РУССКИЙ ЯЗЫК И ЛИТЕРАТУРА
  6.  

  7. ЭКОНОМИКА
  8.  

  9. ЕСТЕСТВОЗНАНИЕ
  10.  

  11. АНГЛИЙСКИЙ ЯЗЫК
  12.  

  13. КУЛЬТУРА И ОБЩЕСТВО

    Осенний


    25 СЕНТЯБРЯ -1 НОЯБРЯ


    ЗАОЧНЫЙ

    Зимний


    25 ЯНВАРЯ — 1 МАРТА


    ЗАОЧНЫЙ

    Весенний


    25 МАРТА — 30 МАРТА


    ОЧНЫЙ

    Спецпроекты


    в течение года


    ЗАОЧНЫЕ

  • All
  • начальныеклассы
  • среднеезвено
  • старшиеклассы
  • Совенок в мире природы

  • Математический калейдоскоп

  • Находчивая сова и мифы

  • Мое отечество    


Загрузите еще
остальные


load all

ПОБЕДИТЕЛИ

  • Шибзухов Адам

    СОШ 2 с.п. Атажукино

    9 сезон

  • Батова Даяна

    СОШ 2 с.п. Сармаково

    9 сезон

  • Жангериев Азнаур

    СОШ с.п. Шордаково

    9 сезон

  • Уянаева Альбина

    СОШ с.п. Хабаз

    9 сезон

  • Коцева Рамилла

    СОШ 2 с.п. Сармаково

    9 сезон

НОВОСТИ И РАССКАЗЫ О НАШИХ СОБЫТИЯХ!!

Тхыгъэ «Сыт насыпыр?»

Насып щ1экъуныр – арщ насыпыр»
Насып… Дунейр къызэриухуэрэ цIыхур зыщIэхъуэпс псалъэ дахэр дэнэ щы1э? Сэ сызэрегупсысымкIэ, насыпыр ц1ыхум къыдалъху ик1и Iыхьэ куэду гуэшауэ нэрыбгэ къэси къыдогъуэгурыкIуэ. Зым адэ-анэр хуэпсэууэ, къыдалъхуар хуэузыншэрэ яшхын-ящIэн ягъуэту балигъыпIэм иувэмэ, ар зы насып гъуэгуанэу ебж. Адрейм еджапIэр къыщиухкIэ, насыпыр – ар IэщIагъэ зэгъэгъуэтынырщ. Адрейм хелъагъуэр насыпыр к1апэм, напэри щыгъупщэжауэ. Сыт хуэдэ мылъкури зыми щыщкъым адыгэм адыгагъэр щыгъупщэмэ, хуэмысакъым ныбжьэгъугъэм, адэм и псалъэм, анэм и лъагъуныгъэм. Щы1эхэщ иджыри ц1ыху псэун папщ1э мышхэу, ат1э шхэн папщ1э псэухэуи.
Сыт ат1э сэрк1э насыпыр? Жэуапу хуэзгъуэтыр зыщ — «насып» щы1экъым, щы1эр насыпыф1э узыщ1 щы1эк1эхэрщ. Ат1э, сыт сэ насыпыф1э сызыщ1ыр? Сещ1 сэ насыпыф1э си анэм и гуф1э макъым, си Инжыдж и даущым, си Къэсейхьэблэжь и нэхущым, си адыгэбзэмк1э хуиту сызэрыпсалъэм, адыгэу сыкъызэрыхъуам…
Сэ зыкъэсщтэжмэ, сынасыпыф1эщ, ауэ насыпым и тхьэбзэ телъщ си гущхьэм. Ар зэи сымылъэгъуа ик1и зи 1эф1агъэр зыхэзмыщ1а си адэм и тхьэбзэщ. Сэ си л1акъуэ сыкъызыхэк1ами, сызып1ами яхуэфащэу сыпсэунущ. Си гум телъми тхьэбзэр — Тхьэм зэи ц1ыху тхьэбзэгъуджэ симыщ1к1э!

Автор: ЦАГЪУЭ ДАЯНЭ, КЪШР, ХЬЭБЭЗ КЪУАЖЭ. ЕГЪЭДЖАК1УЭР: ШЭРДЖЭС РАСЬЯТ

АДЫГАГЪЭР - НЭМЫСЩ, НЭМЫСЫР - НАСЫПЩ Учитель начальных классов МКОУ «СОШ №1 им.М.А.Камбиева» с.п.Каменномостское, Зольского района КБР Кашежева Елена Анатольевна.

АДЫГАГЪЭР — НЭМЫСЩ, НЭМЫСЫР — НАСЫПЩ

Учитель начальных классов МКОУ «СОШ №1 им.М.А.Камбиева» с.п.Каменномостское, Зольского района КБР Кашежева Елена Анатольевна.

 Эпиграф: Лъэпкъ къэсыху езым и «Ф1ыц1агъэ» и1эжщ: урысым – Пушкин, адыгэм адыгагъэ.

Эпиграф: Лъэпкъ къэсыху езым и «Ф1ыц1агъэ» и1эжщ: урысым – Пушкин, адыгэм адыгагъэ.

Мурадхэр: Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу хъуным елэжьын; я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Мурадхэр: Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу хъуным елэжьын; я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.

Псом япэу фигу къэзгъэк1ыжыну сыхуейщ дызыщыпсэу щ1ып1эм и дахагъым.  Апхуэдэ щ1ып1э щыпсэу ц1ыхухэм я хабзэри дахэу щытын хуейщ. Емыку1 дыдэу къысщохъу уи хабзэр имыхъумэжыну, абы и дерсхэр умыгъзащ1эу дунейм утетыну.

Псом япэу фигу къэзгъэк1ыжыну сыхуейщ дызыщыпсэу щ1ып1эм и дахагъым. Апхуэдэ щ1ып1э щыпсэу ц1ыхухэм я хабзэри дахэу щытын хуейщ. Емыку1 дыдэу къысщохъу уи хабзэр имыхъумэжыну, абы и дерсхэр умыгъзащ1эу дунейм утетыну.

Адыгэ хабзэр, адыгэ нэмысыр адыгэ л1ыгъэм, адыгагъэм къыгуэх имы1эу къыдэгъуэгурык1уащ. Абы къыхэк1ыуи адыгэхэм ди гъунэгъу лъэпкъ псоми адыгэ хабзэр яф1эхабзэф1у, пщ1э къыхуащ1у, адыгэхэм къазэрыхудэплъеиным хущ1экъуу щытащ.

Адыгэ хабзэр, адыгэ нэмысыр адыгэ л1ыгъэм, адыгагъэм къыгуэх имы1эу къыдэгъуэгурык1уащ. Абы къыхэк1ыуи адыгэхэм ди гъунэгъу лъэпкъ псоми адыгэ хабзэр яф1эхабзэф1у, пщ1э къыхуащ1у, адыгэхэм къазэрыхудэплъеиным хущ1экъуу щытащ.

Езы адыгэхэми адыгагъэр я напщ1эм телъу. Ирипагэу, иригушхуэу щытащ.   Абы теухуауэ псалъэ дахэ, псалъэ пэж куэди жа1ащ. Дэри а псалъэхэр ди щапхъэу щытщ.

Езы адыгэхэми адыгагъэр я напщ1эм телъу. Ирипагэу, иригушхуэу щытащ. Абы теухуауэ псалъэ дахэ, псалъэ пэж куэди жа1ащ. Дэри а псалъэхэр ди щапхъэу щытщ.

Адыгэ псалъэжьхэр: 1.Хабзэмыщ1э емык1ухьщ. 2.Хабзэр бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым. 3.Хабзэм къемызэгъыр и бийщ. 4.Хабзэр лъэ1укъыми 1у махуэ 1уэхутхьэбзэкъым. 5.Хабзэжь хэкужь къранэркъым. 6.Хабзэр убзэ зыф1эщ1ым хуэпщ1энум и ныкъуэр къегъанэ. 7. Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ. 8.Нэмыс здэщымы1эм насыпи щы1экъым

Адыгэ псалъэжьхэр:

1.Хабзэмыщ1э емык1ухьщ.

2.Хабзэр бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым.

3.Хабзэм къемызэгъыр и бийщ.

4.Хабзэр лъэ1укъыми 1у махуэ 1уэхутхьэбзэкъым.

5.Хабзэжь хэкужь къранэркъым.

6.Хабзэр убзэ зыф1эщ1ым хуэпщ1энум и ныкъуэр къегъанэ.

7. Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ.

8.Нэмыс здэщымы1эм насыпи щы1экъым

9. Нэмыс пщ1ымэ уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр.  10.Нэмысыр лъэ1ук1э къахьыркъым.  11.Нэмысым насып къыдок1уэ.

9. Нэмыс пщ1ымэ уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. 10.Нэмысыр лъэ1ук1э къахьыркъым. 11.Нэмысым насып къыдок1уэ.

Ди щ1ып1э берычэт дахэмрэ, ди хэбзэмрэ ещхьщ ди фащэри.  Ди адыгэ фащэм нэхъ дахэ лъэпкъ куэдым ящыгъыу щыбгъуэтынкъым.

Ди щ1ып1э берычэт дахэмрэ, ди хэбзэмрэ ещхьщ ди фащэри. Ди адыгэ фащэм нэхъ дахэ лъэпкъ куэдым ящыгъыу щыбгъуэтынкъым.

 Фащэм теухуа псалъэжьхэр. Укъыздамыщ1эм ущыгъынщи, укъыздащ1эм уакъылщ. Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ. Бзылъхугъэм и 1эщхьи, и щхьи и фащэщ. Дахагъэр зэк1ужщи, зэк1ужыр фащэщ.

Фащэм теухуа псалъэжьхэр.

  • Укъыздамыщ1эм ущыгъынщи, укъыздащ1эм уакъылщ.
  • Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ.
  • Бзылъхугъэм и 1эщхьи, и щхьи и фащэщ.
  • Дахагъэр зэк1ужщи, зэк1ужыр

фащэщ.

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэ фащэм ущрихьэл1энур къэфа1куэ гупым хэтхэмрэ, музейхэмрэщ.

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэ фащэм ущрихьэл1энур къэфа1куэ гупым хэтхэмрэ, музейхэмрэщ.

Шум бзылъхугъэ гъуэгум ирик1уэу хуэзамэ…

Шум бзылъхугъэ гъуэгум ирик1уэу хуэзамэ…

Ц1ыхухъур шым къепсыхыу бзылъхугъэм блэк1ыху шыр 1эдэжу ишэу щытащ.

Ц1ыхухъур шым къепсыхыу бзылъхугъэм блэк1ыху шыр 1эдэжу ишэу щытащ.

Нэхъыжь щыту зэи умыт1ыс!

Нэхъыжь щыту зэи умыт1ыс!

1.Псом япэ ц1ыхум зыщалъхуа хэкур ф1ыуэ илъагъуу, игъэпэжу щытын хуейщ.   2.Нэмыс, ук1ытэ тхэлъын хуейщ. Нэхъыжьхэм пщ1э хуэщ1ын хуейщ. Нэхъыжьхэм я псалъэ зэпыдуд хъунукъым.   3. Нэхъыжьхэм я гъуэгу зэи зэпаупщ1ыркъым.   4.Адэ-анэм жа1эм деда1уэу, ахэр ф1ыуэ тлъагъу щытын хуейщ.

1.Псом япэ ц1ыхум зыщалъхуа хэкур ф1ыуэ илъагъуу, игъэпэжу щытын хуейщ. 2.Нэмыс, ук1ытэ тхэлъын хуейщ. Нэхъыжьхэм пщ1э хуэщ1ын хуейщ. Нэхъыжьхэм я псалъэ зэпыдуд хъунукъым. 3. Нэхъыжьхэм я гъуэгу зэи зэпаупщ1ыркъым. 4.Адэ-анэм жа1эм деда1уэу, ахэр ф1ыуэ тлъагъу щытын хуейщ.

5.Пцы зэи буупс хъунукъым. Ар напэтехщ. «Пц1ым лъакъуэ щ1эткъым»,- жа1э.   6.Гулъытэ тхэлъу, нэхъыжьхэм дадэ1эпыкъуу дыщытын хуейщ.   7.Къыддалъхуа ди адыгэбзэр дымыгъэк1уэду, тхъумэжу, ф1ыуэ тлъагъуу дыщытын хуейщ.   8.Ди къэралми, ди унагъуэми дахуэсэбэпын папщ1э, ф1ыуэ деджэн хуейщ.

5.Пцы зэи буупс хъунукъым. Ар напэтехщ. «Пц1ым лъакъуэ щ1эткъым»,- жа1э. 6.Гулъытэ тхэлъу, нэхъыжьхэм дадэ1эпыкъуу дыщытын хуейщ. 7.Къыддалъхуа ди адыгэбзэр дымыгъэк1уэду, тхъумэжу, ф1ыуэ тлъагъуу дыщытын хуейщ. 8.Ди къэралми, ди унагъуэми дахуэсэбэпын папщ1э, ф1ыуэ деджэн хуейщ.

Ди пщэдджыжьхэр ф1ыуэ щытын папщ1э, ц1ыхуу дунейм тету хъуар, ф1ыуэ дызэрылъагъуу, дызэхуэгумащ1эу, дызэдэ1эпыкъуу дыщывгъэт! Зэи зыщывмыгъэгъупщэ дыкъызыхэк1а лъэпкъыр! Ди хабзэр зыхъумэну дызыщыгугъыр фэращ. Фызэрыадыгэр зэи зыщывмыгъэгъупщэ!   

Ди пщэдджыжьхэр ф1ыуэ щытын папщ1э, ц1ыхуу дунейм тету хъуар, ф1ыуэ дызэрылъагъуу, дызэхуэгумащ1эу, дызэдэ1эпыкъуу дыщывгъэт! Зэи зыщывмыгъэгъупщэ дыкъызыхэк1а лъэпкъыр! Ди хабзэр зыхъумэну дызыщыгугъыр фэращ. Фызэрыадыгэр зэи зыщывмыгъэгъупщэ!  

Найдите правильный ответ на вопрос ✅ «Сочинение на кабардинском языке » насып щ1 экъуныр арщ насыпыр» темэр Акъсырэ Залимхъан и пьесэ «Дахэнагъуэм» къызэрыхэщыжыр …» по предмету 📘 Русский язык, а если вы сомневаетесь в правильности ответов или ответ отсутствует, то попробуйте воспользоваться умным поиском на сайте и найти ответы на похожие вопросы.

Смотреть другие ответы

Главная » ⭐️ Русский язык » Сочинение на кабардинском языке » насып щ1 экъуныр арщ насыпыр» темэр Акъсырэ Залимхъан и пьесэ «Дахэнагъуэм» къызэрыхэщыжыр

автор: Канукоева Мадина Суфьяновна

Учитель кабардино-черкесского языка МКОУ “Гимназия №13”

Адыгэ 1уэры1уатэ (Устное народное творчество адыгов)

Адыгэ 1уэры1уатэ  5кл
Дунейм зы лъэпкъи тету къыщ1эк1ынкъым, ц1ык1ухэ, зи 1эры1уатэ зэзмыгъэпэща, ар зимы1э, ар зи гъащ1эм къыщызымыгъэсэбэп. Нобэ дэ ди зэ1ущ1эр зытеухуар адыгэ 1уэры1уатэрщ. 1уэры1уатэм хохьэ: псалъэжьхэр, нэщэнэхэр, псысэхэр, шыпсэхэр, нарт эпосыр, хъыбархэр, таурыхъхэр, уэрэдхэр, къуажэхьхэр. Ахэр псори зэхэзылъхьар народырщ. Зы щ1эблэм зэхилъхьам къык1элъык1уэм зыгуэр хилъхьэм дыщ1игъуурэ ди нобэм къэсащ.

  1. Адыгэ 1уэры1уатэм щ1ып1эшхуэ щаубыд псалъэжьхэм. Псалъэжьхэм я къалэныр щ1э, гъэщ1эгъуэн, губзыгъагъэ, 1ущыгъэ гуэр ц1ыхухэм къыхуа1уэтэн къудейкъым, ат1э къэхъу щ1эблэщ1эр, фэ ц1ык1ухэр, ф1ым, пэжагъым, захуагъэм, л1ыгъэм, гущ1эгъум хуагъасэ, хьэл-щэн нэхъыф1хэр хапщэ, щ1эпхъэджагъэм, ц1ыхугъэншагъэм  щахъумэ. Иджыпсту ц1ык1ухэм дыщагъэгъуэзэнущ адыгэ псалъэжьхэм (1, 3, 6 –нэ классхэм щ1эс еджак1уэхэм)

Дыщэр и 1эпэм къыпощ. Зэ1усэм псэ хелъхьэ. Лэжьэным хэзагъэр – щ1эныгъэми хозагъэ. Лэжьыгъэм уегъэлъап1э, щхьэхынагъэм уегъэпуд. Улажьэмэ лыжь пшхынщ, умылажьэмэ лажьэ бгъуэтынщ. Ц1ыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ. Щ1ым зы ептмэ щэ къуетыж. Бзу пэтрэ, абгъуэ ещ1. Дыжэф пц1анэ хъуркъым. Бзур зы1этыр дамэщ, ц1ыхур зы1этыр акъылщ. Жьым щытхъуи щ1эр къащтэ. Псыпэр зэрыжэм, псык1эри ирожэ. Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуэзэжынщ. Ф1ым ф1ы пок1уэри, 1ейм 1ей пок1уэ. Щ1эр жьы мэхъури, жьыр щ1э хъужыркъым. Нэхъыжьыр гъэлъап1и уи щхьэр лъап1э хъунщ. Гупсыси – псалъэ, зыплъыхьи т1ыс. Зи нэхъыжь еда1уэ и 1уэху мэк1уатэ. Псэр щэи, напэр къэщэху. Нэмыс пщ1ымэ, уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. Ц1ыхум и ц1эр езым зыф1ещыж. Нэмыс здэщымы1эм, насыпи щы1экъым. Нэмысыншэр – насыпыншэщ. Е пщ1ауэ ф1ы ущымыгугъ, ф1ы пщ1ыуи ущ1эмыфыгъуэж. Нэхъыжь к1элъыджэркъым к1элъок1уэ. Хьэщ1эр гъаф1э, ц1ыхуф1ыр лъытэ. Нэхъыжьыф1 зи1э нэхъыщ1эф1и и1эщ. Сабий зэрымыс унагъуэр насыпыншэщ. Сабийм насып къыдок1уэ. Уи анэ къыбжи1эм еда1уэ, уи адэ къыбжи1эр гъэзащ1э. Уи адэ-анэм яхуэпщ1 нэмысыр уи быным къыпхуащ1ыжынщ. Ук1ытэ зи1эм насып и1эщ. Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ. Жьэк1э маисэщ, 1эк1э сэмэгущ. Жьэры1эзэ 1эпэзадэ. И зыгъазэ и мазэщ. Хуэмыху унафэ щ1ынк1э 1эзэщ. Апрелыр мэлыжьыхьщ. Апрелыр мэл шхыгъуэщ. Гъатхэ дыгъэм к1агъуэпск1э уегъэпск1ри, бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрек1э. Гъатхэ дыгъэм ф1амыщ1эпс еутхри, бжьыхьэ дыгъэм сэхусэплъ еутх. Гъатхэ уафэ гъуанэщ. Гъатхэ унэ гъуанэщ. Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым. Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж. Гъатхэм пасэу пщ1эр, бжьыхьэм игъуэ мэхъу. Гъэм и зы махуэм щ1ымахуэм уегъашхэ. Гъэмахуэ тхьэмахуэр щ1ымахуэ гъуэмылэщ. Гъэмахуэм къыумылэжьар щ1ымахуэм бгъуэтыжыркъым. Гъэмахуэм умыгъэт1ылъа, щ1ымахуэм къэпщтэжыркъым. Щынащхьэ плъагъумэ, гъэмахуэщи, 1этащхьэ плъагъумэ, щ1ымахуэщ. Зы пц1ым пэжищэ щ1ехъумэ. И к1эм упытми, гупым яхэт. Зэгуры1уэ я 1уэху псынщ1эщ. Гъусэ мыхъумыщ1э нэхърэ, гъущ1ыпэ. Гужьеигъуаф1э унэхъугъуаф1эщ. Жьант1эм ущ1эмыкъу, пхуэфащэмэ, къыплъагъэсынщ. Ц1ыху хьэлэлыр 1умахуэщ. Куэд жызы1э нэхърэ куэд зыщ1э. Мащ1эр ф1ыщ1э зымыщ1ым куэдри ф1ыщ1э ищ1ыркъым. Зи п1алъэ умыщ1э шык1э утыку уимыхьэ, гъуэгу утемыхьэ. Гъунэгъу зыгъэпудым пудыныгъэ егъуэт.

Егъэджак1уэ:

  1. Ди адыгэ 1уэры1уатэм куэду хэтщ псысэхэри шыпсэхэри. Ахэм лъабжьэ яхуэхъуар ц1ыху гъащ1эрщ. Псэущхьэхэм, къэк1ыгъэхэм я гугъу ящ1к1эрэ, псысэхэм дагъэлъагъу ц1ыхухэм я псэук1эр, я зэхущытык1эр, я хьэл-щэнхэр, я хъуэпсап1эхэр. Иджыпсту дэ дедэ1уэнщ зы шыпсэ, зыдгъэпсэхунщ.

Еджак1уэ Къуэдзокъуэ Луизэ /3Акл./:  «Къулбацицэ»

Щы1ащ- псэуащ зы щ1алэ ц1ык1у Къулбацицэк1э еджэу. Ар езыр…щ1алэф1т жып1а? Ауэ сытми щ1алэф1т, щ1алэф1 и щ1алэф1ыжт!

    Ат1э, еуэщ – е1эщ аби, зэгуэрым Къулбацицэ и ныбжьэгъу ц1ык1ухэр зыщ1игъури мэрак1уэхьэ к1уащ.

К1уэм-лъейм, к1уэм-лъейурэ, мэзыбгъум деж щылъ губгъуэшхуэм нэсахэщ.

Абы сытым хуэдэ мэрак1уэ щы1эт, плъыжьрэ-плъыжьру, 1эф1рэ-1эф1у, езыр пшхы пэтми зумыгъэнщ1у.

     Арати, щ1алэ ц1ык1ухэр мэрак1уэм дихьэхри к1ыф1 къатехъуащ. К1ыф1 къатехъуэри унэм къызэрык1уэжыну гъуэгур къыхуэмыгъуэтыжу гъуэщащ. 1эджэрэ гъынэнаи Къулбацицэ и гъусэхэр, нэхъыбэжрэ къак1ухьаи, сытми, мэз гъунэм 1уту унэ пхашэжь ц1ык1у гуэр ирихьэл1ащ, и щхьэгъубжэм нэху къыдидзу. Къэгуф1эжхэри джахэщ. Джэмэ зы фызыжь ц1ык1у къыщ1ок1ри, къащыгуф1ык1ыпэурэ, щ1ешэ, егъашхэри егъэгъуэлъыж.

      Ц1ык1ухэр жеижа хъункъэ щыжи1эм, уд фызыжьым и дзэхэр илъу щ1едзэ, зэрызурэ ишхыну. Къулбацэцэ жеиртэкъым. Абы гу лъитэри уд фызыжь ц1ык1ур щ1эупщ1ащ:

    – Ар сыт, щхьэ умыжейрэ?.

    – Сэ, – жи Къулбацицэ, – иджы  хуэдэхэм деж си анэм жэмыкуэ схуищ1ырти, сигъэшхырт.

   – Ар гугъу-т1э! – къыпогуф1ык1 уд фызыжь ц1ык1ур.

Жэмыкуэ хуабэ хуещ1, ар ирегъэшхри егъэгъуэлъыж. Жеижакъэ щыжи1эм, ц1ык1ухэм ящыщ зым бгъэдохьэ уд фызыжьыр.

    Къулбацицэ зегъэпсчэу1у.

   – Ар сыт, щхьэ умыжейрэ? – къоупщ1 уд фызыжь ц1ык1ур.

   – Сэ, – жи Къулбацицэ, – иджы хуэдэхэм деж си анэм джэд лыбжьэ схуищ1урэ сигъэшхырт.

      Гъумэт1ымэурэ джэд лыбжьэ ещ1э, ар Къулбацицэ ирегъэшхри егъэгъуэлъыж.

  Зыкъом дегъэк1ри уд фызыжь ц1ык1ур зэщ1одэ1ук1. Къулбацицэ жей нэпц1 зищ1ауэ хэлът и псэр 1ук1ауэ. Ц1ык1ухэм ящыщ зым  уд фызыжь ц1ык1ур щыбгъэдыхьэм, Къулбацицэ нэхъ иныжу зегъэпсчэу1у.

    – Ар сыт, щхьэ умыжейрэ? – же1э уд фызыжьым, къэгубжьарэ жьыр иримыкъуу.

   – Сэ, – жи Къулбацицэ, – иджы хуэдэхэм деж си анэм псынэм кхъузанэк1э псы къысхурихыурэ  сригъафэрт!

   – Аррр гугъугъу-т1э! – и пэм  жьы кърихужыркъым уд фызыжь ц1ык1ум.

   Абы и гъущ1 кхъузанэр къещтэри псынэм мак1уэ, псынэ 1уфэм 1уот1ысхьэри псы кърегъахъуэ, къригъэхъуар йожыж, кърегъахъуэ, къригъэхъуар йожыж. Апхуэдэурэ уд фызыжь ц1ык1ум нэху къытещхьащ. Къулбацици зыхуеиххэр арати, и гъусэхэр къигъэушри, мак1уэ- мэц1ыв, къыщ1эпхъуэжахэщ.

    Уд фызыжь ц1ык1ур нобэми ныжэбэми 1усщ, жи, псы 1уфэм, и кхъузанэм къригъахъуэр йожыжри.

Егъэджак1уэ:

  1. Лъэпкъ 1уэры1уатэм зыубгъуауэ ущыхуозэ нэщэнэхэми. Нэщэнэхэм щызэхуэхьэсащ адыгэхэм я 1уэху еплъык1эр, зэхэщ1ык1ыр, дунейр къазэрыщыхъур, блэжьынк1э 1эмал зимы1эхэр е пщ1эм кърик1уэнухэр. Ди нэщэнэхэм драгъэдэ1уэнщ 1, 3 классым щ1эс еджак1уэхэм.

Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъуну жа1эрт.

Бэлагъым уебзеймэ бзэгузехьэ уохъу жа1эрт.

Бжит1ым я кум уитыну ф1ыкъым, жа1эрт.

Бзу абгъуэ уи1эбэмэ, 1э бэгу уохъу жа1эрт.

Вакъэм зи1убмэ ф1ыкъым жа1эрт.

Вындыжьхэр зэрызехьэмэ, джэгумэ, уэлбанэ хъунущ, жа1эрт.

Гъавэм утеувэмэ берычэтыр хок1 жа1эрт.

Гъуэгурык1уэм и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым.

Гъубж махуэм 1уэху яублэркъым гъуэгу техьэркъым.

Гъуджэ п1эщ1экъутэмэ ф1ыкъым, жа1эрт.

Гъунэгъур бий пщ1ыну ф1ыкъым, жа1эрт.

Гъущ1ыпэ къэбгъуэтыну ф1ыщ.

Джэдум и щ1ыб маф1эм хуигъазэмэ, уае хъунущ жа1эрт.

Джэдур жыхапхъэм еп1эстхъмэ, хьэщ1э къэк1уэнущ, жа1эрт.

Жэщыр бзыгъэмэ, щ1ы1эщ, уфамэ, пшагъуэмэ, хуабэщ, жа1эрт.

Уэсыр куумэ гъэр ф1ы мэхъу, жа1эрт.

Япэу уэс щыплъагъук1э хъуэхъуэн хуейщ жа1эрт.

Егъэджак1уэ: Адэк1э дедэ1уэнщ псысэ гъэщ1эгъуэн.

Еджак1уэ Лат Данэ /3Акл./ «Ужьэ псыгъуэрэ Уашхэ нэк1ут1эрэ»

Ужьэ псыгъуэрэ Уашхэ нэк1ут1эрэ зэныбжьэгъуу, зэгъунэгъуу мэзым щыпсэухэрт. Ужьэм лэжьэн ф1эф1т. Уашхэр щхьэхынэу шхэныр зи щ1асэт. 

Зы махуэ гуэрым Ужьэр Уашхэм деж к1уэри елъэ1уащ:

– Си гъуэм псы имылъэдэн щхьэк1э, щ1ыхьэп1эм зыгуэр 1узмыщ1ыхьу хъунукъыми, укъыздэ1эпыкъуамэ арат.

Лэжьэн зи жагъуэ Уашхэм зрилъэфыхьщ-зрилъэфыхьри, жи1ащ:

-Уей, Ужьэ, си гъуэми апхуэдэ дыдэу уэшх къолъадэ, зыгуэр 1усщ1ыхьынути укъезджэу узыдэзгъэ1эпыкъун си мураду аратэмэ.

-Хъунщ-т1э,- жи1ащ бзаджагъэ зигу къэмык1 Ужьэм, – уи 1уэхур нобэ, сысейр пщэдей зэф1эдгъэк1ынщ.

Уашхэм ищ1эшхуэ щымы1эу, Ужьэм зыкъримыгъэлыжу, пщ1энт1эпсыр къыпыхуу  эщ хъуху лэжьахэщ.

– Уей, Ужьэ, хъарзынэу укъыздэ1эпыкъуамэ. Сэри пщэдей сыбдэ1эпыкъужынщ.

Арщхьэк1э, Ужьэм, Уашхэм зэрызыщ1ригъэхыр къыгуры1уати, жи1ащ:

– Хьэуэ, Уашхэ, мы лэжьыгъэм хъарзынэу нобэ уи дей зыщезгъэсащи, иджы си закъуи схузэф1эгъэк1ыжынущ.

Арати, Ужьэр ежьэжащ. Ет1уанэ махуэм жьыуэ къэтэджри, и гъуэм уэшх къимышхэн хуэдэу игъэбыдащ. Уашхэр махуэ псом къыкъуэк1акъым. Ужьэр егупсысащ: «Къызэрыздэмы1эпыкъуам щхьэк1э ук1ытэжагъэнщ, ахъумэ, нэгъуэщ1 мыхъуми, зэрысщ1ам еплъыну пщыхьэщхьэм къек1уэк1ын хуеякъэ?»

Ет1уанэ махуэми Уашхэр къыщемык1уэк1ым, Ужьэр езыр и гъунэгъум деж к1уащ. Щ1ыхьэмэ, Уашхэр щэ1уу, гызу, сымаджэу хэлът.

– Мыр сыт, си ныбжьэгъужь, къыпщыщ1ар?

– Уей, сымыщ1э. хьэлъи семы1а, щ1ы1и сыхэмыхьа, ит1ани си ныбэр къре1уэнт1ык1.

– Уэмызэгъын гуэр пшхауэ п1эрэ?

– Уей, апхуэдэ сшхауи сымыщ1э. Нышэдибэ лы гъэва сшхыри лэпс тесфыхьыжащ, ит1анэ лы гъэжьа, джэш фалъэ, кхъуейжьапхъэ тепщэч, псыхьэлывэ т1эк1у- аращ сшхари нышэдибэ лъандэрэ. Иджы шэджагъуашхэри къэблэгъащи, схуэшхын1ауэ си ф1эщ мыхъу, 1ейуэ си ныбэр мэуз.

1уэхур зытетыр къызыгуры1уа Ужьэм жи1ащ:

– Си ныбжьэгъужь, сэ уэ 1эзэгъуэ пхуэхъун сщ1эркъым, ауэ Жьындур куэдым хуэ1эзэу жа1эри, къыпхуэсшэнщ.

Жьындур къыщеупщ1ым, Уашхэм абыи Ужьэм жри1а дыдэр хуи1уэтащ.

– Уэ уи узыр уз шынагъуэщ, – жи1ащ Жьындум. – Ар  щхьэхынэ узымрэ ныбаблэ узыымрэ пхузэхыхьэжауэ аращи, зы хущхъуэгъуэ ф1эк1 и1экъым – уи 1эпкълъэпкъыр зэрыгъэк1. Ар жи1эри, Жьындур лъэтэжащ.

– Сыт абы жи1ам къик1ыр? – къыгуры1уакъым Уашхэм.

– Абы къик1ыр сэ къыбгурызгъэ1уэнщ, къэтэджи си гъусэу нак1уэ, – жи1ащ Ужьэм. 1ыхьсыхьрэ щхьэхынэу, ерагъмыгъуейк1э къызэф1эувэри, Уашхэр ужьэм и ужь иуващ.  Ужьэм и гъуэм нэсхэри, Ужьэм пхъэх къыщ1ихащ.

– Мы пхъэхым и к1апэр къэубыди, мо жыгыр пыдгъэх.

Уашхэм сыт ищ1энт, иубыдщ пхъэх к1апэри жыгыр пахащ.

– Мес мори къэдмыгъауэу хъунукъым, – жи1ащ Ужьэм ик1и аргуэру зы жыг пахащ. Уашхэм и 1эпкълъэпкъыр нэхъ зэрык1ырт, нэхъ псынщ1э хъурт. Апхуэдэурэ, т1уми щ1ымахуэр ик1ыху зрикъунум хуэдиз пхъэ гъэсын ягъэхьэзыращ. Уашхэм, езыр икъук1э ешами, и ныбэ узри хъужащ, и узыр къызыхэк1ари къыгуры1уэжри, щхьэхынэнымрэ ныбаблэнымрэ зыхинащ. Иджы т1ури, зым 1эпыхур адрейм къищтэжу, зэгъунэгъуф1у мэпсэу.

Егъэджак1уэ:

  1. Нарт эпосыр

   Егъэджак1уэ: 

  1. Псынщ1эрыпсалъэхэр – 1уэры1уатэм и жанр ц1ык1ухэм ящыщ зыщ. Фэ фхуэдэ сабийхэр игъэджэгуу ик1и тэмэму псалъэу иригъасэу народым къагупсыса 1эмал гъуэзэджэщ псынщ1эрыпсалъэхэр. Фэ, ц1ык1ухэ, ахэр нэхъыбэу жыф1эху, анэдэлъхубзэр дахэу, шэрыуэу вгъэбзэрабзэнущ. Дэ дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм жа1эну яф1эф1 псынщ1эрыпсалъэхэм.

Мо шк1э бур ди шк1э? Мо шк1э бур ди шк1э?  Мо шк1э бур ди шк1э?

Пыжь пызу пыту щыту иту жыг Пыжь пызу пыту щыту иту жыг  Пыжь пызу пыту щыту иту жыг.

1эпхъуалъэ ф1ыц1э, псырылъэ ц1у, псырылъэ ф1ыц1э 1эпхъуалъэ ц1у.

П1ыт1инэрэ П1ыт1ут1эрэ п1ырып1 зэхап1ыт1э.

Хурсэ хурсэ хурсанэ, санэху зэраза кхъузанэ.

Мыщэр пэщащэурэ мащэм ихуащ.

Егъэджак1уэ: Адэк1э псысэ дедэ1уэнщ.

Еджак1уэ Чэртбий Астемыр /3Акл./: «Чэнджэщ» 

Щак1уэр мэзым къик1ыжырт. Зыри къищэк1уатэкъыми, и щхьэр къыф1эхуат. Къыздэк1уэжым, Уэгунэбзу ц1ык1у гуэр къиубыдащ.

-Сут1ыпщыж, -жи1ащ  Уэгунэбзум. – Сыбут1ыпщыжмэ, игъащ1эк1э къыпщхьэпэн чэнджэщу щы уэстынщ.

Щак1уэр арэзы хъуащ.

-Япэ чэнджэщыр мыращ: блэк1ам ущ1эмыфыгъуж.

-Хъунщ, – жи1ащ Щак1уэм. -Ет1уанэри къызже1э.

-Ар щыбжес1энур сыбут1ыпщыжмэщ.

-К1уэ, – жи1эри иут1ыпщыжащ. Жыгым пыт1ысхьэжауэ, Уэгунэбзур къопсалъэ:

-Ет1уанэ чэнджэщыр мыращ: пц1ыр уи ф1эщ умыщ1.

-Хъунщ, жи1ащ Щак1уэм. – Ещанэри къызже1э.

-Ещанэм зэк1эухуэмып1ащ1э.Уэ пщ1эуэ п1эрэ укъызэрызгъэпц1ар? Си хулъэм джэдык1э хуэдиз хъууэ дыщэ к1анэ илъщ. Ар уи1амэ,игъащ1эк1э пхурикъунт.

-Щхьэ узут1ыпщыжат! Укъысхурикъуащ! Дыщэм сыхэк1ыжащ! – жи1ащ Щак1уэм. – Ещанэм сегъэда1уэ.

-Хьэуэ, абы ухуейкъым уэ, – жи1ащ Уэгунэбзум. – Т1у бжес1ати, асыхьэту пщыгъупщэжащ.”Блэк1ам ущ1эмыфыгъуж” бжес1ати, сызэрыбут1ыпщыжам ухущ1егъуэжащ. “Пц1ыр уи ф1эщ  умыщ1″бжес1ати, абы уедэ1уакъым. Сэ езыр джэдык1э  хуэдизщ сызэрыхъур, си хулъэм джэдык1э  хуэдиз дыщэ к1анэ ихуэн? Нэгъуэщ1чэнджэщ  уэ пхуэфащэкъым.

Ар жи1эри Уэгунэбзур лъэтэжащ. Щак1уэри, и щхьэр ф1элэлу,къэк1уэжащ и унэм.

Егъэджак1уэ:

6.Ныбжьыщ1эхэм я гупсысэм и жанагъыр къуажэхьхэм иризэхагъэк1ыу щытащ, абыхэм дэ къыдагъащ1э лъэпкъым и акъылыр, и гулъытэр, и ф1эщ хъумрэ къыф1эщ1ымрэ здынэсыр. Ц1ык1ухэ, къэфщ1эну фыхуей къуажэхьхэр? Феда1уэ-т1э.

  1. Зыр мажэ, зыр мэжей, зыр мэджэгу (Псы, мывэ, бдзэжьей)
  2. 1эдэуадэншэу псым лъэмыж тезылъхьэ (мыл)
  3. Ди бжыхь лъабжьэ хьэ дзакъэрей к1эщ1эсщ (шыпсыранэ)
  4. Т1ур къоплъэ, т1ур къода1уэ, т1ум урахьэжьэри йожьэж (нэ, тхьэк1умэ, лъакъуэ)
  5. И тхьэк1умэр дзасэ, и пэр сыринэ, и нэр вагъуэ, мапк1э, малъэ, мэбгъунлъэ, мэлъей (тхьэк1умэк1ыхь)
  6. Уеплъмэ, гъуджэ, уеджэм дэгу (мыл)
  7. Ббгъэдэмык1 лъакъуэ к1ыхь (ныбжь)
  8. Щабэрык1уэ мэз к1уэрей (1эжьэ)
  9. Дунейр зыгъэнэху, псыр зыгъэхуабэ (дыгъэ)
  10. Зи к1эр зылъэфу, зи фэр зи бий (бажэ)
  11. Щыгъын хыщ1 зыщыгъ, щыгъыну щыгъри щ1ы1уншэ, хэт ит1эщ1ми, егъагъ (бжьын)
  12. Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ (набдзэ)
  13. Щхьэнтэ щ1ы1ум щыпырхъ, 1энэ щ1агъым щытхъэж (джэду)

 Егъэджак1уэ: Иджы зы шыпсэ дедэ1уэнщ.

Еджак1уэ Ф1эщмыхъу Иринэ /3Бкл./: «Кърумрэ Бажэмрэ»

Кърур Бажэм и гъуащхьэм деж къыщет1ысэхащ. Бажэр гъуэм къижащ. 

– Къеблагъэ, Къру ц1ык1у, хьэщ1э утщ1ынщ.

-Уи благъэ куэд ухъу, – жи1ащ Кърум.

– Нэгъабэ бжьыхьэ лъандэрэ услъэгъуакъым. Дэнэ ущык1уэдар?

– Гъуэгу сытетащ, -жи1ащ Кърум. – Хым адрыщ1к1э сыщы1ащ.

– Хым адрыщ1к1э узыхьын акъыл уи1э уэ? –игъэщ1эгъуащ Бажэм.

– Си1эщ, – жи1ащ Кърум, – хым адрыщ1к1э сызыхьыни сыкъэзыхьыжыни.

– Сыноплъри угуащ1эмащ1э гуэрщ, угъуапэкъым, упщамп1экъым. Уи щхьэр си к1эным хуэдизщ зэрыхъур. Дэнэ къипха апхуэдэ акъыл? Пц1ы къысхуэбупс хъунщ, – и ф1эщ хъуакъым Бажэм.

– Хьэуэ, пхуэзупсыркъым, – жи1ащ Кърум. – Бжьыхьэ къэс хым сызэпрок1, гъатхэм сыкъызэпрок1ыж.

– Тобэ, тобэ! А уи щхьэжь ц1ык1ум апхуэдиз акъыл илъ?

– Сызрикъун илъщ, – жи1ащ Кърум, – хым сызэпрызыхыни сыкъызпрызыхыжыни.

– Абы щыгъуэм, – жи1ащ Бажэм, – мы дунейр хъурейуэ къызэрыск1ухьын акъыл си1э хъунщ сэ. 1эмалищэрэ зырэ зыщ1э Бажэм и ц1э зэхэпхакъэ?

– Зэхэсхащ, – жи1ащ Кърум. 

– Ар сэращ жыхуа1эр: 1эмалищэрэ зырэ сощ1э сэ!

– И хъер улъагъу, – жи1ащ Кърум, зиплъыхьурэ.

– Щхьэ зыпплъыхьрэ? – гузэващ Бажэр.

– Щак1уэр къок1уэ.

– Емынэм къихурэ! – жи1ащ Бажэм, – къак1уэ, си гъуэм къипщхьэ: зыщхьэщыдгъэк1ынщ.

Кърур Бажэм и гъуэм ипщхьащ. Щак1уэр къэсащ. Кърум и к1эр гъуэм къищырти, щак1уэм иубыдащ.  – Бажэм и гъуэм щхьэ уипщхьэрэ,  Къру ц1ык1у? Дзыхь хуэпщ1 хъурэ Бажэм?

Кърур бажэгъуэм кърилъэфри, зригъэт1ылъэк1ащ щак1уэм. Кърум л1а нэпц1 зищ1ащ. Щак1уэр гъуэм и1эбэри, Бажэр кърилъэфащ.

– К1э бгъуэтащ, Бажэ ц1ык1у! – жи1ащ щак1уэм. – Уи ф1ыгъэк1э Кърури къыс1эрыхьащ. Щак1уэм зригъэзэк1ри, Кърур игъуэтыжакъым: л1а нэпц1 зызыщ1а Кърур лъэтэжащ. 

– Кърум и акъыл мащ1эри нэхъыф1ти, си 1эмалищэрэ зым нэхърэ! – жи1эри Бажэр къэгъащ, щак1уэм къэпым щридзэм.  

Егъэджак1уэ:

  1. Усэхэри – адыгэ 1уэры1уатэм къыщыхощыж. Мыбыхэм макъамэ щ1эплъхьэу жып1э хъунущ. Усэхэр гъэщ1эгъуэнщ, узы1эпишэу ц1ык1ухэри инхэри йода1уэ. Усэхэм къеджэнущ  еджак1уэхэу е-3-нэ Б кл. щ1эсхэу Маршынкъул Алинэрэ  Ныр Аксиньярэ, е-3-нэ Вкл.щ1эс Сэбанчы Олег.

   Адакъэ

Уэ адакъэ,адакъэ,                              Уэ адакъэ,адакъэ,

Уэ адакъэ щэджащэ,                         Уэ адакъэ щэджащэ,

Дыщэ мажьэр зи сыдж,                     Дыщэ мажьэр зи пы1э. 

Сыту жьыуэ утэджрэ!                        Кхъы1э, ину умы1уэ,

Сыту хуабжьу уджэгурэ!                  Мы зэ 1уэгъуэр блэгъэк1.

Щ1эбгъэхъаеу умыджэ –                  Уэ 1уэху блэк1 уимы1э.

Ди хъыджэбзыр къогъащтэ,             Джэду уи1эр гъэжей,

Щтэ1эщтаблэу уогъэк1ий.               Цаци жейм егъэзэгъ.

Къру

Къуршым къык1ыу

Лъакъуэ к1ыхь,                                   Ныджэм щыт1ыс, 

Ди щ1ым къихьэу бэзэрыфэ,              К1апсэшхуэу зызыукъуэдий, 

Зи фэр дыщэ къамыл,                          Укъуэдияуэ уэгум ихьэж.

Зи лыр мэрем нэху, 

К1ущэ.

К1ущэ, к1ущэ,

К1уэнацэ,

Гуэн гуцэр

Зи цэпс, 

Дзыгъуэм я псэр

Хэзыуд, 

Хьэдрыхэ щыгъуагъуэ,

Унащхьэ тхыц1эр

Зи гъуэгу,

Зи гу ц1ык1ур 

Зы1эпылъ,

Зи лъэ ц1ык1ур

Зи мажьэ,

Бэрэжьейр зи жьауэ,

Жыг жьауэм 

Щ1эмыхьэ,

Хьэщ1э къихьэмэ, 

Мытэдж, 

Мытэджыжыр

Си к1ущэ,

Ек1ущэхи

Псы къэхь, 

Жьант1эм къэхьи 

Къэгъэув, 

Зи лыр дыгъурыгъу,

Зэгъунэгъуибгъум

Я шэ пэгунибгъум

Я шатащхьэр трефык1ри

Гуащэм и гъуэлъып1эм йот1ысхьэж.

Егъэджак1уэ:

  1. Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурык1уэ джэгук1э гъэщ1эгъуэнхэр. Нобэ абахэм ящыщ джэгук1эхэмк1э дыджэгунущ. Япэ джэгук1эр икъук1э гъэщ1эгъуэнщ. Мыбы зэреджэр «Си 1ыхьэр – щэ?» Сабиит1 зэпадзыжу (упщ1э – жэуапу) джэгуу щытауэ аращ. Упщ1эхэри жэуапхэри зэпхъуэк1 хъунущ, ауэ ущыуэу куэдрэ зып1эжьэмэ, «арму» жа1эри узэгуагъэп, уи п1эк1э нэгъуэщ1 ягъэджэгу. Щымыуэн щхьэк1э, упщ1эхэри жэуапхэри зэрагъащ1эу щытащ. Дедэ1уэнщ еджак1уэхэу Лат Данэрэ Къаныкъуей Астемыррэ /3 А кл./

Си 1ыхьэр-щэ?

-Си къаз плъэгъуа?                                  -Джыдэр-щэ?

-Слъэгъуащ.                                             –Пщ1ащэм хэлъщ.

-Дэнэ к1уа?                                              -Пщ1ащэр-щэ?

-Абгъуэм исщ.                                         –Лыгъэм ес.

-Сыт къик1эц1?                                       -Лыгъэр-щэ?

-Джэдык1э.                                              –Псым егъэунк1ыф1.

-Хэт ишх?                                                -Псыр-щэ?

-Мэлыхъуэм.                                           –Хьэм иреф.

-Сыт къыуит?                                          -Хьэр-щэ?

-Хъурыфэ.                                              -Л1ым щ1ыгъущ.

-Хэт игъэтэдж?                                      -Л1ыр-щэ?

-Тэджырей.                                            –Мэкъу йоуэ.

-Хэт ибз?                                                -Мэкъур-щэ?

-Бзэрей.                                                  –Шхалъэм дэлъщ.

-Хэт ид?                                                 -Шхалъэр-щэ?

-Дэрей.                                                   –Жэмыр бгъэдэтщ.

-Хэт щит1агъэ?                                      -Жэмыр-щэ?

-Си шыпхъум.                                       –П1ап1у къехь.

-Дэнэ ук1уэ?                                         -П1ап1ур-щэ?

-Хьэщ1ап1э.                                         –Джэдум иреф.

-Сыт ирагъэшх?                                   -Джэдур-щэ?

-Щыхь куц1рэ фо ц1ынэрэ.                –Гъуанэм исщ.

-Си 1ыхьэр- щэ?                                    -Гъуанэр-щэ?

-Гъуанэм илъщ.                                    –Уэ уисыжщ.

-Илъыжкъым.

-Дэнэ к1уа?

-Къуанщ1эм ешх.

-Къуанщ1эр-щэ?

-Жыгым пысщ.

-Жыгыр-щэ?

-Джыдэм пеупщ1.

«Лъэтеувэ» – мы джэгук1эм аращ зэреджэр. Мыри гъэщ1эгъуэнщ.Адыгэхэм хабзэу я1ащ сабийр къызэф1эувэу езыр-езыру лъэбакъуэ щичам  и деж хъуэхъу хуащ1у, хьэлыуэ 1энэ хуаубэу. Мис абы сабийхэри кърихьэлъэрт: щ1алэ ц1ык1уи хъыджэбз ц1ык1уи. Сабий джэгухэм хьэлыуэ 1упщ1э зырыз яубам щыщу иратырт. (Сабийхэр мэджэгу).

                    Жа1э сабийхэм:  Сэ сок1уэ!

                    Сэ сожэ!

                    Щытхэм сахолъадэ!

                   Абыхэм сахэбгъадэмэ…( … къыхызохыр!)

Ещанэ джэгук1эри икъук1э гъэщ1эгъуэнщ, «1эбэдзыуэк1э» зэджэр, иджыпсту сабий ц1ык1ухэм дагъэлъагъунщ.

Егъэджак1уэ:

Фигу ирихьакъэ ди зэ1ущ1эр, ц1ык1ухэ? Нобэ адыгэ 1уэры1уатэращ дызытепсэлъыхьар. 1уэры1уатэр ф1ыуэ зымылъагъу ц1ык1уи ини щы1эу къыщ1эк1ынкъым.

Ди гуапэ зэрыхъущи, ини ц1ык1уи дехьэх абы, ик1и я мыхьэнэр зык1и к1ащхъэ хъуркъым.

1уэры1уатэр нэсу зэбгъащ1эмэщ ди лъэпкъ культурэр, литературэ куууэ къыщыбгуры1уэнур, япэк1э щыбгъэк1уэтэфынур. Ди гугъэщ фэри 1уэры1уатэр ф1ыуэ къэфлъэгъуауэ. Ди нобэрей зэ1ущ1эри пэщ1эдзэу къэтлъытэнщ. Аращи, ди зэ1ущ1эр и к1эм нэблэгъащ. Хэтахэми хьэщ1э къеблэгъахэми ф1ыщ1э ин фхудощ1. Ди япэк1и ф1ык1э, гуф1эгъуэк1э Тхьэм дызы1уигъащ1э! Узыншэу фыщытхэ!

Понравилась статья? Поделить с друзьями:
  • Намного ли сложнее профильная математика от базовой на егэ
  • Наместник история егэ
  • Намаз перед экзаменом
  • Намаз на егэ
  • Намаз для сдачи экзамена