Псэр щэи напэ къэщэху сочинение на кабардинском языке

Адыгэ лъэпкъым къы­хэкIа Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэ­рий) Куржым и ТхакIуэ­хэм я союзым и урыс къудамэм и уна­фэщIт. Абы и къалэмыр хуэлажьэрт зэ­ныбжьэ­гъугъэр гъэбыдэ­ным, лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэхэм къахэкIа цIыху­хэм я гъащIэр, я дуней еплъыкIэр къэгъэлъэ­гъуэным. Аджыкъур тетхыхьащ адыги, куржыи, урыси, румыни, мэжэри, лыхьи…
Аджыкъум и тхылъхэу ди дежи нэгъуэщI къэралхэми дунейм къыщы­те­хьахэм цIыхухэр дахьэ­хыу йоджэ. Къэбгъэлъа­гъуэмэ, Польшэмрэ Вен­г­риемрэ къыщыдэкIащ абы и «ЯмыцIыху» романыр, Хэку зауэ­ш­хуэм теухуар. Лыхьхэм, инджылызхэм, испанхэм, чеххэм я бзэ­хэмкIэ зэра­дзэкIащ тха­кIуэм и Iуэ­тэж, повесть, роман нэ­хъыфI­хэр.

КУРЖЫ революционер цIэ­ры­Iуэ Кецховели Ладо и гъа­щIэмрэ и къе­кIуэ­кIы­кIамрэ теухуащ Лохвицкэм и «Метехи фоч щы­уащ» романыр (1973 гъэ). ЦIыхухэр куэду къызэ­рыщIэупщIэм къы­хэкIыу, зыбжанэрэ къыдагъэкIащ адыгэ тхыдэм ­теухуауэ Аджыкъум итха повестыр — «Уафэгъуа­гъуэ макъыр». Лъэпкъхэм я зэныбжьэ­гъугъэм и университету Лумумбэ Патрис и цIэр зезыхьэр къэзыуха, Сирием щыщ адыгэ бзылъхугъэ Дэбжэн Динэ ар хьэры­пыбзэкIэ зэридзэкIри Дамаск къы­щыдигъэкIащ. «Ал-Баас» газетым абы теухуа тхыгъэхэр тIэунейрэ тридзащ. ТхакIуэ икIи критик ал-Мысри Маруан итхырт: «Адыгэ тхыдэм тепсэлъыхь тхыгъэ хьэ­рыпыбзэкIэ къы­­­зэры­дэкIар Iуэху­гъуэ­фIу зэ­рыщытыр къэз­гъэ­лъа­гъуэкIэрэ, сэ жысIэну сыхуейщ ар псэм лъэIэсу, пэжагъышхуэ хэлъу, Iэзэу тха зэрыхъуар».
Дыкъытеувы­Iэнщ ­Ад­жыкъу Джэ­рий и повестыр зытеухуам, абы и мыхьэнэм. ТхакIуэм и ­макъ егъэIу лIэщIыгъуэ блэкIам къэхъуа гуауэм — Урыс-Кавказ зауэм, истамбылакIуэм я джэрпэджэжу, абы дерс къы­хэхын зэрыхуейр къыдиIуэтылIэу. Лъэпкъым и блэкIам ухуэдэгуу икIи ухуэнэфу ущыт зэрымыхъунур къыдгурегъаIуэ. Абы щыгъуэми егъэлъапIэ цIыхугъэ нэсыр, лъэпкъ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэр сыт хуэдэ лъэхъэнэми зэпэгъунэгъу зыщI акъыл нэхур, захуа­гъэм и телъхьэ хъуну псэр къэзыгъэушыр.
«Псэр щэи, напэ къэ­щэху» жыхуиIэ псалъэ­жьыр повестым псалъа­щхьэ хуэпщI хъунущ, сыту жыпIэмэ, аращ тхылъри зытеухуэжар: лъэпкъ псом зигъэкIуэдащ и напэр имыщэн, бийм лъэгущIэ­тын зримыгъэщIын папщIэ; цIыху минхэм загъэлIащ, я адэжь лъахэр ямыбгынэн, зыщалъхуа щIыналъэм емыпцIыжын щхьэкIэ…
Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм апхуэдэу щIы­шхуэ яIыгътэкъым, яхуземыхьэжын хуэдэу. Ар къыдогъанэри, ерагъкIэ ярикъуу арат, псэемыблэжу телэжьыхьурэ абы ирипсэун папщIэ. ИкIи телэжьыхьхэрт, я гуащIи я пщIэнтIэпси емыблэжу. Я щIыналъэри къэщIэрэ­щIащ, берычэтыр и тыгъэу, хъугъуэфIыгъуэр и бащэу. Абы къигъэнэпсеяуэ арат урыс пащтыхьыр. Ар, дауи, щыгъуазэтэкъым бгылъэ щIыпIэхэр «дуней жэнэт» пщIыныр къызэрыгуэкI Iуэхуу зэрыщымы­тым. Абы занщIэу гу лъитащ пащтыхьыжьым зэуэну Кавказым къигъэкIуа къызэрыгуэкI мэкъумэ­шыщIэ Кожевниковым. Абы адыгэхэр зыхуэдэр къызэрыгурыIуэр офицер Кайсаров Яков мыпхуэдэу иреIуэтылIэ: «Зи щхьэр лажьэ лъэпкъщ. Джабэ нэкIухэр, псым имылъэсын хуэдэу, къат-къатурэ къы­зэрагъэбатэр уэзгъэлъэ­гъуащэрэт. Мывэшхуэхэр зэхуахьэс, ищIагъымкIэ кърахьэхыурэ, зэтралъ­хьэ, псыIущIэ ящI, итIанэ псы ежэхым щыщ къаутIыпщри — пшахъуэ, мы­вэкIэщхъ сыт жыпIэми, хуэегъэзыхыгъуэ щыхъу­хэм щызэтралъхьэ. ЩIы­пIэр зэтес мэхъуж. Иужь­кIэ тафэм щIыгулъ фIыцIэ кърашри, абы тракIутэж, сэнми щIадзэ».
А щIыкIэм тету щIыр къэзыгъэбатэ адыгэ мэкъу­мэшыщIэмрэ адыгэхэм ягухьа урыс офицер Кайсаровымрэ «Уафэгъуагъуэ макъым» мыпхуэдэу щы­зопсалъэ. Кайсаровым къе­Iуатэ Бытырбыху къатищу зэтет унэхэр зэры­щыIэр. Абы и щхьэусы­гъуэр щIыр къазэре­мэ­щIэкIырауэ къызыщыхъуа адыгэм къызэрыгуэкIыу жеIэ: «НтIэ, щIыр уи мащIэмэ, нэгъуэщI Iэмали къыпхуэгупсысынукъым».
МэкъумэшыщIэм дэнэ щищIэнт апхуэдэу зыжри­Iэм губгъуэ хуитышхуэхэр зи бащэ Урысей уэхыр и лъахэу. Ар зэрегупсысымкIэ, пащтыхьыр, щIы и куэду щытамэ, адыгэхэм яйм еIусэнутэкъым…
ХьэкIэкхъуэкIагъэщ зы щIы кIапэ щхьэкIэ лъэпкъ гуэрым илъ бгъэжэныр. Пащтыхьыдзэм лей зэры­зэ­рихьэр, гущIэгъу зэримыIэр хьэкъыу зи фIэщ хъуа офицерыр — ар и псэм хутемыгъахуэу — адыгэхэм ягуохьэ.
И лъэпкъми, и къэралми, и динми епцIыжыныр сыт къызыхэкIар? Хеймрэ мы­сэмрэ зэхигъэкIыфу зэры­щытырщ. Пэжщ, а псори занщIэу абы и акъыл нэсакъым, езыми хеилъкIэ зиуцIэпIыжа нэужьщ къы­щыгурыIуар. Кайсаровым и напэм къыхуегъэзэгъыркъым дяпэкIи апхуэдэу псэуну — щхьэщIэгупсыс, хъыжьпIыжь мэхъу. Ар егъэгулэз, и псэр хьэзаб хигъэтщ напэм емызэгъ илэжьыну ехулIа зэры­хъум. Елъагъу, егъэунэху къызыхэкIа лъэпкъым икIагъэ зэрищIэр, езыри абы и джатэзехьэу щыщыткIэ, цIыхугъэншагъэ хэ­мылъу зауэм зэрыхэмы­тыфынур. Ар къыщыгу­рыIуэкIэ, нэгъуэщI хэкIы­пIэ имыгъуэту, зиу­кIы­жы­ну хуожьэ. Игу ирилъхьари ищIэну къыщIэкIынт, ауэ адыгэхэм я лъэныкъуэ мэхъури, и мурадыр зэрехъуэкIыж.
Повестыр нэхъыбэу зы­теухуар Кайсаровым и щхьэм кърикIуа насыпыншагъэрщ. Ауэ абы и за­къуэкъым а зауэ гущIэ­гъуншэм насыпыншэ ищIар. Лейзехьэхэм гущыкI яхуищIри, и щхьэр здихьын имыщIэу къыщы­нэм, Iуэху мыщхьэмыпэ илэжьащ офицер Попов-Азотовым.
Къэзыухъуреихь дунейр зэрызэIыхьар, ар цIапIагъэ зэфэзэщу зэрызэ­хэ­лъыр зэрыхуэмышэчамкIэ нэрылъагъу мэхъу ар зи цIыху лIэужьыгъуэу щы­тар. Попов-Азотовым гъащIэр Iумпэм ищIащ, зытет дунейм зэрыхуэмыарэзыр абыкIэ къигъэлъагъуэу. ЩылIэм щыгъуи мыращ къыжьэдэкIа псалъэхэр: «ЦIапIагъэщ… Псори цIапIагъэщ».
Кайсаровым а псори нэхъ иужьыIуэкIэщ къы­щыгурыIуэжар, езыри лей зезыхьэхэм зэращыщыр, зауэ емынэм зэриIэщэзехьэр къыщищIэжар.
Ар и зэхэщIыкIым нэзыгъэса Iуэхугъуэт Попов-Азотовым и кIуэдыкIари, лажьэ зимыIэ адыгэхэр зэрызэтраукIэри. Зэгуэ­рым дунейр зыфIэIэфIу щыта шэрджэс лъэпкъым бгы зытеуа цIыхуу и псэр хэкIырт, ар дунейм те­кIуэдыкIыжырт. ИкIи ар зи Iэужь залымхэм адыгэр зэрыкIуэдыжыр бэрэбэнауэ макърэ гуфIэгъуэ маршкIэ ягъэлъапIэрт.
Кайсаровым зэрыжиIэ­жымкIэ, адыгэлъыр щыс­хьыншэу зыгъэжа пащтыхь къуэшым зауэр зэ­риухам и щIыхькIэ къы­зэIуихат хасэшхуэ. «Зэ еплъыгъуэкIэ, псори бэ­лыхьу къызэрагъэпэщауэ гуфIэгъуэт, уеплъыжыпамэ — ар зауэр зэриухам те­мыухуауэ, шапсыгъхэмрэ убыххэмрэ зэрыкIуэ­ды­жым и хьэдагъэт».
«Уафэгъуагъуэ макъым» къыщыгъэлъэгъуащ цIыху куэд ажалым зэрызэщIикъуэр. Ауэ гур зыгъэузыр, цIыху щхьэхуэ мыхъуу, лъэпкъ псом и кIуэ­ды­жы­кIар ди нэгу къызэрыщIигъэхьэрщ.
…Адыгэхэр я хэкум ираху. Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказым щыпсэуа лъэп­къым хуагъэуващ Тыркум Iэпхъуэну, е хухаха щIы­пIэхэм гуп цIыкIуурэ зэкIэщIэкIауэ хэщIапIэ щащIыну. Абы къикIырат: лъэпкъыр мэкIуэд, ауэ языныкъуэ адыгэхэр яхъу­мэнущ зыкIи зыхуэмеиж, зыми имыщIысыж хьэп­шып гуэру, музейхэм щагъэлъагъуэм хуэдэу.
Адыгэхэм арат я натIэ хъунур, къагъэжыIэщIамэ. Аращ ахэр щIемыдэ­Iуар «Фагъэлъагъу щIы­пIэ­хэм фыIэпхъуэ, ар фымыдэрэ — Тыркум фикIыж», — жиIэу урыс пащ­тыхьым ищIа унафэм. Тыркум икIыжкIи я сэбэп хэлътэкъым, абы щыгъуэт лъапси лъахи ямыIэжу псори щафIэкIуэдыр. Ар адыгэхэм фIы дыдэу къагурыIуэрт, ар къыгу­рыIуэрт «урыс пащтыхь пэтIинэми».
Гъэр ящIа аслъэн шырым хуэдэу хъарым зраубыдэж е Тыркум Iэпхъуэу щэлъахъэкIэ залъэхъэж нэхърэ фIыуэ ялъагъу я лъахэм зыщагъэлIэжыныр шап­сыгъхэм нэхъ къащтащ. АдэкIи адыгэхэм я къе­кIуэкIыкIам къегъэлъа­гъуэ ахэр зищIысу щытар, лIыгъэшхуэ зэрахэлъар. «ЛIэнми лIыгъэ хэлъщ» щIыжаIэжар езыхэрами ярейуэ, я псэр щатми мыкIуэдыжын щIыхькIэ я пщIэр яIэтыфащ. Хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэм и нурыр къащхьэщытащ. Мырат абы теухуауэ а зэманым Маркс Карл итхар: «Адыгэхэм аргуэру уры­сыдзэр хагъэщIащ… Дунейм тет лъэпкъхэ! Абы­хэм щапхъэ ятефх, мис апхуэдиз хузэфIокI щхьэ­хуитыныгъэм нэсу щIэбэн лъэпкъым!»
Хэкум и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу, лIыгъэ хэлъу зи псэр зыта цIыхум и пщIэр инщ. Мыбдежым зы лIыхъужькъым хахуэу къыщIэкIар — лъэпкъ псом и псэр итащ, зэи зыми и щхьэр зэрыхуимыгъэщхъынур игъэнаIуэу, зыщалъхуа щIыналъэр нэ­гъуэщIкIэ зэримыхъуэжынур игъэлъагъуэу. Ар къызэрыхъуа щIыкIэр тхы­лъым мыпхуэдэу ди нэгу щIегъэкI: «Мэз лъапэм пIэ яуфэбгъуауэ хьэдэ гуры­шэу зэхэлът адыгэ фащэ зыщыгъ цIыхухъу­хэр, цIыхубзхэр. Ахэр щылът зырызу, тIурытIу, нэхъ зэпэгъунэгъуи зэ­пэIэщIи яхэту, хэт гууэ­щIу, хэт хьэмбыIуу, хэти джабэм телъу. Хэти и Iэ-и лъэр зэкIэщIэдзауэ, хэти зы­зэфIигъэщхъауэ… Апхуэдиз хьэдэ сэ си гъащIэм слъэгъуатэкъым».
Дыгъэм я гупэр хуэгъэзауэ, къэмыхашэу, уардэу дунейм йохыж адыгэхэр. А теплъэгъуэм уегъэмэ­хъашэ икIи апхуэдэ гуш­хуэныгъэ зыхэлъа лъэпкъ щхьэхуитым и щхьэм ­кърикIуар гущIыхьэ къыпщохъу.
Лохвицкэм ди нэгу щIегъэкI пщылIыпIэм нэхърэ ажалыр нэхъ къэзыщтахэм я гъащIэр зэрат щIыкIэр: абыхэм кIий-гуо, гъы-бжэ къахэкIакъым — къы­хэщтыкI яхэмыту, зэ­рахьащ я лIыхъужьыгъэр. Зэман бзаджэм и нэлатым къыхуэмыгъэша лъэпкъым гъащIэшхуэ, ­гъащIэ на­сыпыфIэ хуэфащэт.
Адыгэхэм я гуауэри я гуа­пэри уэрэдкIэ яIуатэу щытащ. Я уэрэдхэр гухэхъуэт, пшыналъэхэр удэ­зыхьэхт. Адыгэ хабзэм и гугъу пщIымэ — захуагъэм и пэ иригъэщ щыIакъым. Зауэм щыIуткIи, бгырыс­хэм, а хабзэр зыщагъэ­гъупщэу, напэм емызэгъ ящIэртэкъым.
Тхылъым зы щапхъэ ­къехь. Зэгуэрым гарнизон Iэтащхьэ Присыпкиным и фызыр фочышэхэр къызэ­релъэлъэхым хуэдэу, быдапIэм дэкIат. Ар къызэралъагъуу щIыпIэр къэзыухъуреихьа адыгэхэр, за­Iэтри, ежьэжащ. Гар­ни­зо-­
ным и Iэтащхьэми хъыбар кърагъэщIащ: «Дэ фызхэм дезауэркъым», — жаIэри.
Бгырыс куэди, пащ­тыхьыдзэм щыщу куэди зыхьа Урыс-Кавказ зауэр и кIэм нэблагъэрт. Урыс­хэр здынэмысауэ зы къуа­жэ закъуэт къэнэжар. Абы ахэр пэлъэщыртэкъым, ­къуршхэм къызэрахъумэм къыхэкIыу, ауэ ари яубы­дыным къэнэжа щыIэтэкъым — къызэраувыхьрэ мазэ бжыгъэ ­хъуат. Адыгэ­хэм хасэ зэхуашэсри, абы унафэ къыщащтэ, я псэр пытыху я лъахэр яхъумэжыну. Хасэм хэтахэр зэбгрыкIыжырт, къуа­жэ Iэтащхьэм зы мэкъу­мэшыщIэ къыбгъэдыхьэу къыщыжриIам: «Псори тэмэм хъужмэ, сэ сы­щIэ­лъэIунущ псей мэзым адэIуэкIэ къыщылъ сэнтхыр звэну икIи згъэпшэрыну — абдежым мыIэрысей щыхэссэнущ. Сэ хамэ щIыпIэ щагъэкI мыIэрысэ лIэужьыгъуэ гуэр къэз­гъуэтащи, щхьэ хуэдизу инщ, фоумэ дахи къы­кIэрех, ауэ икIи щабэщ цIыхубзым хуэдэу. Сэ а хэхэсыр ди мыIэрысейм дэзгъэкIэнщи, цIыхухъум ещхьу Iэбыдэ-лъэбыдэу, щIыIэми хуэмыгъэгузавэу зыкъиужьынщ».
Абы жиIам къыхощ адыгэ мэкъумэшыщIэр фIым зэрыщIэхъуэпсыр, мамыр гъащIэр зэригъэ­лъапIэр, нэмы­сымрэ хабзэмрэ Iыгъыным пщIэшхуэ зэрыхуищIыр. «Хабзэ­мыщIэ емыкIухьщ», — жеIэ абы. МэкъумэшыщIэм хьэкъыу и фIэщ мэхъу дэтхэнэ лъэпкъри лъэпкъ зыщIыр, ар зыгъэIумахуэр хабзэрауэ. И Iуэху еплъы­кIэри пэжщ: зи хабзэр зымыIыгъыж лъэпкъыр хэкIуэдэжу хуожьэ. Аращ дэтхэнэ бийри лъэпкъ хабзэхэр гъэкIуэдыжыным щIыхуэерыщыр. «Уафэ­гъуагъуэ макъым» хэлъщ а гупсысэр.
А Iуэхур къызэрыгуэ­кIыу зэрыщымытыр ­по­вестым щыубзыхуащ. Шапсыгъхэм псори зэ­хуагъадэрт. Зы цIыхум ­адрейм захиIэтыкIыу е зы гуп гуэр бжьыпэр иубыдрэ унафэщI хъууэ ядэнутэкъым. Кайсаровыр абы щытепсэлъыхькIэ жеIэ: «Ди пащтыхьыгъуэм лъэкI къигъэнакъым шапсыгъ­хэр игъэкIуэдын пап­щIэ. Апхуэдизу ерыщу а Iуэхум иужь щIитым щхьэусы­гъуэ Iэджэ иIэнкIэ мэхъу. Ауэ, псом ящхьэу, пащтыхьыгъуэм хуэшэчакъым ахэр щхьэ­хуиту зэрыпсэур. Сыту жыпIэмэ, хьэзаб хэмыкIыу псэу урыс мыжьыкъри абыхэм ядэплъеину хуе­жьэнут. Зэрынэрылъагъущи, апхуэдэ щапхъэр пащтыхь къэралыгъуэм шэуэ къы­техуэнкIэ шына­гъуэт».
А псалъэхэм нэрылъагъу ящI пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкIа зауэр езы урыс лъэпкъми и бийуэ зэрыщытар.
«Хэт сымэ абы теунэ­хъуа­хэр?» — жыпIэмэ, абы теунэхъуащ фадэ фIэкIа къафIэмыIуэхужу зэIыхьа офицерхэр, я унагъуэхэм япэIэщIэу илъэс тIощIрэ тхукIэ къулыкъу зрагъащIэу щыта урыс сэлэтхэр. Я Iыхьлыхэм зэрыщIэгупсысым щхьэлажьэ ищIа урыс сэлэтхэм я дунейр мыгъуэу яхьырт. Я бампIэр нэхъ куу ищIырт щIэзауэри щIэдауэри къагурымыIуэу лъы зэра­гъажэм, ящыщ куэдым я хьэдэ къупщхьэхэр хамэ щIыпIэм къызэринэм. ЗэштегъэупIэу яIэр шагъырти, я гуауэр абыкIэ ягъэундэращхъуэрт.
Кайсаровыр ныбжьэгъу хуохъу офицер хъыжьэ Закурдаевым. Япэ зэманым Яков къыгурыIуа­къым а капитаным езыр зэрыщымыту зыщIищIыр, цIыху нэжэгужэу фэ щIызытригъауэр. Абы теухуауэ Яков мыращ къи­Iуэтэжыр: «Чэф игъуэтамэ, Закурдаевыр гуитI­щхьитI хъурт, зыгуэрым иригузавэу, зыгуэрым иринэщхъейуэ. АдэкIэ, сыт хуэдиз иримыфми, нэхъ къэжанауэ гу лъыптэнутэкъым. Ауэ ину дыхьэшхыу, псалъэу иригъажьэрт, дэ тIум хуэдэу гъащIэм ­игъэуна щымыIэми ярейуэ, езыми сэри ар ди фIэщ ищIын мурадыр иIэу».
Зэгуэрым фадэр фIыуэ къызыпкърыхьа Закурдаевыр Александр ЕтIуанэм и сурэтым и пащхьэм иувэри кIиящ: «Зи щIы­хьыр лъагэ пащтыхьы­шхуэ, уэ дзыхь къысхуэп­щIа кхъэр къызыхуэтын­шэщ — мыбы щIалъхьэр нэхъыбэ мыхъуамэ, нэхъ мащIэ ­хъуакъым».
Абы и ужькIэ, и нэхэр зэблэплъу, ар къызэ­плъэ­кIащ, ещIэкъуауэу Iэнэм бгъэдыхьэри шэнтым тетIысхьащ, и щхьэр шынакъым тригъащIэри къэ­гъащ.
Кайсаровым, адрей офицерхэм хуэдэу, шагъыр ефэныр нэрыгъ ищIыркъым. Ар ящыщтэкъым «тIум щыгъуэми зы ажалщ сщIэлъри, си ажалыр къэсыху зэрыхъуу гъащIэр схьынщ» жызыIэхэм. Яков фIыуэ щыгъуазэт зауэр зыхуэдэми, хуитыныгъэр зищIысми. Аращ мыпхуэдэу щIыжиIэри: «Сэ сщIэркъым ди гумрэ ди псэмрэ дэ дыхуитыж, а хуитыныгъэр зиIэми де­мыфыгъуэж дыщыхъунур дапщэщми, апщIондэху сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ къэхъунуми…».
«Дэ щэнхабзэрэ щIэныгъэкIэ абыхэм детэнущ», — жыпIэурэ лъэпкъ цIыкIу­хэм я лъапсэр бгъэгъуным нэхъ напэншагъи сыт щыIэ! Арат пащтыхьми абы и блыгущIэтхэми дунейм щагъэхъыбарыр, адыгэ хэкур щагъэскIэ, шапсыгъхэр, убыххэр, бжьэ­дыгъухэр, абэзэхэ­хэр, кIэмыргуейхэр щы­зэт­раукIэкIэ. Зи лъэпкъыр а зэман бзаджэм кIыфIыгъэм, щIэныгъэншагъэм къыхэзымыгъэкIхэр нэ­гъуэщI лъэпкъхэм сытыт зэретэфынур?
Абыхэм яхуэдэу цIыхугъэр зыгъэпудын, ар хэутэн зыщIын къэгъуэ­тыгъуейт. «Залымхэр, лIы­укIхэр дяпэкIи дунейм къытремыхъуэ, адыгэхэм я нэгу щIэкIар нэгъуэщI­хэм я нэгу щIремыкIыжкIэ», — жиIэу гупсысэ нэху хэлъщ зи гугъу тщIы тхыгъэм.
ЖыпIэ хъунущ «Уафэгъуагъуэ макъыр» урысыбзэкIэ ятхауэ щыIэ тхыдэр къэзыIуэтэж нэхъ тхыгъэфIхэм ящыщ зыуэ.
Михаил Юрьевич си адэм нэхърэ зы илъэскIэ нэхъыжьт. Ауэ, ныбжьми емылъытауэ, сэ абы сриныбжьэгъуфIт. Ма­зэм зэ-тIэу дызэхуэтхэрт, ди гуфIэгъуэ, гукъеуэ зэхуэ­тIуатэрт. Зы илъэси дэ­кIыртэкъым дызэхуэ­мы­зэу — е Налшык, е Тбилиси, е Москва. Мис абы щы­гъуэ адыгэ лъэпкъым и дыгъуасэми, и нобэми, и къэкIуэнуми и гугъу ды­мыщIу ­къанэртэкъым.
Утетыжкъым нобэ щIы­лъэм, ди къуэш щэджащэ, удиIэжкъым, Михаил лъапIэ. Ауэ зы адыгэ псэууэ дунейм тетыху, уэ игу уихункъым!

Симонов Константинрэ Лохвицкий Михаилрэ.     1977 гъэ

КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, скульптор БжэIумых Хьид и хэщIапIэм щIэсщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Лохвицкий Михаилрэ.     1987 гъэ

ИстамбылакIуэ.
Сурэтыр  Жылэ  Анатолэ  ищIащ.

Обновлено: 11.03.2023

Езыгъ. -Дэтхэнэ зылъэпкъми и1эщ зы махуэ хэха и ф1ым щыгуф1ык1ыу,и ехъул1эныгъэхэр и1эту. А махуэм лъэпкъым и нэхъыжьи и нэхъыщ1и гуф1эу щызэхохьэ. Адыгэ лъэпкъми ди1эщ апхуэдэ зы махуэшхуэ. фок1адэм и 20 –р Адыгэм и махуэщ. Адыгэм и махуэр махуэ щыхъунур я нэхъыжьхэр я жьант1эу гуф1эгъуэр я1этмэщ.

Махуэшхуэр фок1адэм и 20-р адыгэм махуэшхуэу ягъэлъэп1эныр щ1ытраухуам щхьэусыгъуэ и1эщ.

-Ди адэжьхэм гъавэр къехьэл1эжын яуха нэужьт тхьэлъэ1ушхуэ ящ1у щыщытар. Илъэсыр къызэрехъул1энур ямыщ1эу джэгу яублэу щытакъым.Хуабэр блэк1ауэ,щ1ы1эр къэмысауэ,гъавэм и ныкъуэр кърахьэл1эжарэ, и ныкъуэр губгъуэ илъу,къызыхахынри я1эу гушхуэныр и чэзууэ къалъытэрти ,я хьэгъуэл1ыгъуэхэри абдежт къыщыдахыр.

Къыщынэмыщ1ауэ ,адыгэхэм я махуэр балигъэхэм я закъуэтэкъым зытещ1ыхьар. Абы 1эмал имы1эу хэтын хуейхэм ящыщщ сабийхэр А псор къалъытэри, гъэмахуэ мазэхэр блэк1ауэ, зызыгъэпсэхуахэри къек1уэл1эжауэ, къаруущ1эрэ мурадыщ1эрэ я1эу сабийри балигъри зэрызэхуэсыжыр къалъытэри фок1адэм и 20-р адыгэм и махуэу ягъэлъэп1эныр къалъытащи, ди нэхъыжьхэм дахуэхъуахъуэрэ ди нэхъыщ1эхэр щапхъэу едгъэлъагъуэу, куэдрэ псэун лъэпкъ тхьэм дищ1.

Махуэф1к1э Тхьэр зыхуэупсэм насыпым и бжэр зэ1уех,1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм пэублэ псалъэр хъуэхъум и жьант1эщи,хъуэхъуф1 зылъысын Тхьэм фищ1!
Уафэр къабзэу,щхъуант1эу
щ1ылъэр псомк1и гуак1уэу
мы дунейм тет макъхэр
ц1ыхухэм я щ1эщыгъуэу
къуалэбзу уэрэдхэр
ди щ1ылъэм итыну
дунеишхуэм и ц1ыхубэм
псалъэмакъыу къа1урык1ым
дыгъэ нур хэлъыну
нэмыплъ ц1ыхубэм зрамыту
гужьгъэжьгъхэр яку дэмылъу
хабзэр я1этрэ лъэпкъым къуэтхэу,
нэмыс ящ1рэ я щ1ыхьыр ину.

дэ абык1э дохъуахъуэ!

Езыгъэк1уэк1ым -Ц1ыху гъэсэныр сыт щыгъуи адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъ 1уэхуу, ялъытэр. Дэ ди къалэнщ лъэпкъым къыхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ц1ыху нэс къыхэтщ1ык1ыну. Ц1ыхум гъащ1эм щиубыдыну увып1эр елъытащ абы игъуэта гъэсэныгъэм.

Адыгагъэ, ц1ыхугъэ, адыгэ напэ, ек1у, емык1у жыхуэт1эхэр ф1ыуэ зэхащ1ык1ыу, я щхьэм пщ1э хуащ1ыжыфрэ загъэлъэп1эфу, я адэ-анэм, я лъэпкъым хуагъэфащэ хъунумрэ мыхъунумрэ зэхагъэк1ыфу ди сабийхэр къэгъэтэджыныр адэ-анэхэми, егъэджак1уэхэми – дэтхэнэ балигъми ди къалэн нэхъыщхьэщ.

Адыгэ хабзэм къызэщ1иубыдэ дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми езым и лъабжьэ, и къежьап1э и1эжщ. Адыгэ хабзэр къызэрыгуэк1 1уэху ц1ык1укъым.

Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар ,

Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.

Хабзэращ лъэпкъым и жьэгупащхьэр зыгъэблар,

Нэхъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумар.

Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уар,

А зыращ щ1алэм дамэ лъэщу къыхихар,

Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.

Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар

Хабзэращ нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар,

Уэ зыращ, Хабзэ, ди къэк1уэнур зыпытщ1ар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.

Ижь –ижьыж лъандэрэ ди щ1ып1эм къихьа дэтхэнэ зыри и дахагъым дехьэх,ар япэу щалъагъум пщ1ыхьэп1э дахэм хуэдэу къащохъу ик1и щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.

Езыгъ.- Ди хабзэм и фащэ нэхъыф1, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр, гъэзэщ1эныр.Адыгэр япэк1э к1уэ Нэхъыжь зэи к1элъыджэркъым. Ат1э лъэщ1охьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, ф1эхъус ирахри, ит1анэщ щеупщ1ыр.

Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр щхьэ лъап1э ихуэкъым,же1эр адыгэм.Мы псалъэжь 1ущым щ1элъыр аращи,нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1ым адыгэхэм зэи фэ ираплъу щытакъым.

Нэхъыжь блэк1ым ,сыкъоувы1э,

Зэпызупщ1ыркъым и гъуэгу,

Ар блэк1ыхук1э гъуэгу симы1э,

Хабзэм хъурэ удэджэгу.

Дади Нани я т1ысып1э

Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.

Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1э,

Яхузощ1ри пщ1э, нэмыс.

Лъэпкъым щхьэузыхь сыхухъуи!

Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.

Сощ1э ф1ыуэ ,жьы сыщыхъуи,

Згъуэтыжыныр нобэ сщ1арщ.

Ц1ыхур ц1ыхум зэхищ1ык1ым

Псоми дощ1эр – ар ц1ыхугъэщ,

Адыгагъэр – ар дахагъэщ,

Адыгагъэр – ар къабзагъэщ.

Адыгагъэр – ар пэжыгъэщ,

Адыгагъэр ди адыгэм

Адыгэпсэм ар и фащэщ,

Адыгэбзэм ар и щэнщ.

Нэхъыжьыф1хэу дади, нани ,

Гуащи, щауи, пщащэ ц1ык1уи –

Псори, псори зыгъэдахэр,

Я гуф1эгъуэхэр къэзы1этыр,

Я гугъехьыр зыгъэпсынщ1эр,

Я ц1ыху щ1ык1эу – адыгагъэрщ.

1эдэбагъщ, 1эсагъэщ, л1ыгъэщ.

Адыгагъэр – ар къарущ.

Адыгагъэр – ар ф1эл1ык1щ.

Адыгагъэр адыгэм и фэщ,

Адыгагъэр адыгэм ипкъщ,

Псэри, бзэри адыгагъэщ зейр,

Адыгагъэр адэм и псэщ…

Псэр хэк1ыжмэ ,къэнэжыр сыт.

Адыгэ хабзэр нэмысым, ц1ыхугъэм, л1ыгъэм, пэжыгъэм, ныбжьэгъугъэм , хьэщ1эм пщ1э хуэщ1ыным къыгуэх имы1эу епхащ. Ик1и а лъэп1эныгъэхэр ди лъэпкъым куэд щ1ауэ къыдогъуэгурык1уэ .Ар ди гъащ1эм и набдзэщ, ди гъащ1эм и купщ1эщ.

-Адыгагъэ,адыгэ хабзэ,нэмыс, дэтхэнэми пщ1э хуищ1у щытын хуейщ езым къыдалъхуа бзэм, и анэбзэм.Сыту жып1эмэ,бзэм и псалъэ дэтхэнэми хэпщауэ щытщ гур зыгъэгуф1э,дахагъэ 1уэхугъуэхэр уэзыгъэлэжь, ф1ым укъыхуезыджэ налъэхэр. Бзэм къаруушхуэ и1эщ щ1эблэм и гъэсэныгъэм и лъэныкъуэк1э.

Адыгэ къафэ, адыгэ къафэ

Адыгэм псэ и1эм и1эр уэращ.

Уэ уи макъамэ дуней гъэдахэм

Щ1эдэ1ум и псэм зэуэ зехъуэж.

-Адыгэ хабзэм хохьэ, адыгэ къафэри. Тэмэму, нэмыс пхэлъу утыку уитыныр.

Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зи1э къэхъукъащ1эщ.Адыгэ къафэ!Ар лъыр зыгъэжанщ,ц1ыхур зыгъэдахэщ,хьэл-щэн дахэр , ди лъэпкъым и 1эдэбагъыр,и щэныф1агъыр на1уэ къэзыщ1щ.

Езыгъ. — Ц1ыхур зэрыц1ыхур ищ1эжын щхьэк1э и хабзэм, и напэм, и лъэпкъым егупсысын хуейщ, и адэ-анэр игъэпэжу, абы яхуэфащэу, Нэхъыжьым пщ1э хуащ1у дунейм тетын хуейщ.

— Ди зэ1ущ1эр и к1эм ноблагъэ.Дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми лъабжьэ хуэхъуам хъуэхъу хужа1эж. Дэри ди гуапэу, гуми псэми къабгъэдэк1ыу дыхуейщ нобэ кърихьэл1а псоми хъуэхъук1э зыфхуэдгъэзэну.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Мастер-класс для учащихся 11 класса. Целью являлось выяснить знания учащихся по данной теме.

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ

Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.

Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ. (Нало З.)

Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ. (Нало З.)

Мастер-классым и темэр:

Мастер-классым и мурадхэр: 1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын; 2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм гъэсэныгъэ хэлъхьэн; 3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын; 4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.

Мастер-классым и мурадхэр:

1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;

2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм гъэсэныгъэ хэлъхьэн;

3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;

4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.

- Псэ къабзэ -Псы къабзэ -Пэж къабзэ - Напэ къабзэ - Уафэ къабзэ - Жьы къабзэ -Тетрадь напэ

— Псэ къабзэ

-Псы къабзэ

-Пэж къабзэ

— Напэ къабзэ

— Уафэ къабзэ

— Жьы къабзэ

-Тетрадь напэ

Урокым и эпиграфыр: Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр, Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр. Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр, Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ напэрщ. Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ, Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ. ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр, МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.

Урокым и эпиграфыр:

Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,

Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр.

Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,

Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ напэрщ.

Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,

Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ.

ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр,

МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.

Псалъэжьхэр

Псалъэжьхэр

ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр Нурыр къыщхьэщех, ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу ЛIым и хьэдэр дах. Напэ къабзэм и къабзагъэр Дыгъэ бзийм хыхьащ. Анэ псоми я быдзышэм Бынхэм хухалъхьащ.

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр

Нурыр къыщхьэщех,

ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу

ЛIым и хьэдэр дах.

Напэ къабзэм и къабзагъэр

Дыгъэ бзийм хыхьащ.

Анэ псоми я быдзышэм

Бынхэм хухалъхьащ.

Псалъэжьхэр

Псалъэжьхэр

Бзэм зегъэужьын:

Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,

къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.

Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху

Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью , Ни днем, ни ночью, никогда!

Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью , Ни днем, ни ночью, никогда!

Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, - жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей - Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм. Елгъэр Кашиф .

Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, — жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей — Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм. Елгъэр Кашиф .

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей. К1уащ Бет1ал.

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей. К1уащ Бет1ал.

« Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ

(Жылэтеж Сэлэдин)

Нажмите, чтобы узнать подробности

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр: Нало Заур теухуа гъэлъэгъуэныгъэхэр(выставкэ),усак1уэм папщ1э гъэхьэзыра видео теплъэгъуэр,презентацэхэр,псалъалъэхэр,тест лэжьыгъэхэр,сурэтк1э зэрылэжьэну 1эмэпсымэхэр.

Урокыр зэрек1уэк1ынур.

1. Пэублэ ,урокым хуэзыгъэуш дакъикъэхэр.

Егъэдж. Махуэф1к1э нобэ сыфхуоусэ,ц1ык1ухэ!Ди дерсым сыхуейт ирищ1эддзэну мы видео пычыгъуэмк1э.(Нало Заур теухуауэ Москва щрагъэк1уэк1а пшыхьым и зы пычыгъуэ доплъ).

Иджы сыхуейт къызжеф1эну-хэт ди псалъэмакъыр зыхуэгъэпсар нобэ?

Еджак1уэхэм упщ1эм и жэуапыр къа1уатэ.

Егъэджак1уэ:Пэж дыдэщ.Мы пычыгъуэм зытепсэлъыхьыр лъэпкъ литературэм зи гуащ1эр щхьэузыхь хуэзыщ1а,ц1ыхупсэм ехуэбыл1э тхыгъэ купщ1аф1эхэр зи къалэмыпэм къыщ1эк1а,псоми ф1ыуэ ялъагъу Нало Заурщ.

2.Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын

Нало Заур и 1эдакъэщ1эк1ыу дэ дызэджахэм сыт хуэдэ тхыгъэр ящыщ?-мы упщ1эр хэзышэ дощ1 унэ лэжьыгъэр къэпщытэжыным.Адэк1э едджак1уэхэр къыдопщытэж.

1) Упщ1эхэмк1э гъэлэжьэн

Егъэдж.

Доскам псори доплъ.

Доскам Нало Заур и сурэтыр ф1элъщ, итщ:

-Сытк1э пыщ1а мы илъэс бжыгъэхэр Нало Заур и гъащ1эм?

1. 1928гъ. 4. 1954гъ.

2. 1948гъ. 5. 1956гъ.

3. 1952гъ 6. 1959гъ.

1928гъ – Старэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ.

1948гъ – къуажэ еджап1эр ф1ы дыдэу къеух, Къэбэрдей – Балъкъэр пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмрэ и отделенэм щ1от1ысхьэ.

1952гъ – пединститутыр къеух, институтым егъэджак1уэу лэжьэн щ1едзэ.

1954гъ – Къэбэрдей – Балъкъэр щ1эныгъэ – къэхутак1уэ институтым щылэжьэн щ1едзэ ик1и, нобэр къыздэсым, Нало Заур абы щолажьэ.

1955гъ – къыщыщ1эдзауэ дунейм къытохьэ Налом и тхыгъэхэр, сабийхэм папщ1э усэхэр, рассказхэр, новеллэхэр.

Балладэ-тхыдэм е таурыхъым къыхаха сюжетым тету строфаурэ тха усыгъэ мыин.

Строфа-усэм и 1ыхьэ,часть стиха.

Усэ-усак1уэхэм зэгъэк1уауэ псалъэк1э зэхалъхьа тхыгъэ мыин.

Усак1уэ-усэ зэхэзылъхьэ ц1ыху.

Усэн-слагать,сочинять.

Зытепсэлъыхьым и щытык1эр зэхэщ1эгъуэу, нэгум къыщ1агъэхьэу, къа1уэтэж щхьэк1э, ар нэгъуэщ1 зыгуэрым ирагъэщхьу, ирагъапщэу къыщыжа1эм деж зэгъэпщэныгъэк1э йоджэ.

Егъэдж. Дэтхэнэ зы усэ едзыгъуэми фыкъеджурэ къыжыф1эт. Усак1уэм удым и шыфэл1ыфэр къыщигъэлагъуэк1э сыт хуэдэ художественнэ 1эмал къигъэсэбэпми.

— Сыт хуэдэ пщ1э хуищ1рэ усак1уэм ц1ыху напэм? Фэ сыт хуэдэ щытык1э хуви1э ц1ыху напэм?(Дэтхэнэ зы усэ едзыгъуэми усак1уэм къыщегъэсэбэп зэгъэпщэныгъэхэр,егъэлеиныгъэхэр.Усак1уэм напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ди пащхьэ псалъэк1э кърелъхьэ.Ц1ыхум псори ф1эк1уэд хъунущ,ауэ напэр зыф1эк1уэдам ф1ок1уэдыр гъащ1э дахэр,дыгъэпс гуапэр,ц1ыхум и пщ1эр.

3.Темэщ1эр егъэджын.

Макъамэ гуапэ къоуэ.

2) Упщ1эхэр гъэувын,абыхэмк1э ещанэ 1ыхьэр зэпкърыхын.

Ет1уанэ илъэсым удыр къэк1уащ л1ыжьым и напэр ихьыну.

-Напэм и п1эк1э удым ихьар сыт?

Удым напэр л1ым къыщримытым сыт хуэдэ 1эмал удыр зыхуэк1уэр?

Сыт усак1уэм л1ымрэ удымрэ я образхэмк1э дигъалъэгъуну зыхуеяр?

Ц1ыхугъэр, ц1ыху напэр псом ящхьэу зэрыщытыр дауэ къигъэлъэгъуэфа усак1уэм?

— Ц1ыхугъэмрэ напэмрэ псом нэхърэ нэхъ лъап1эу зэрыщытыр Нало Заур къыдигъэлъэгъуащ л1ым и напэм и п1эк1э и гурыгъугурыщ1эхэр къызэри1уатэ и бзэр, дунейм и дахагъэр зэрилъагъу и нэр, уеблэмэ, и псэ дыдэри удым зэрыритымк1э. И бзэм, и нэм, и псэм нэхърэ нэхъ лъап1эу къилъытащ абы и ук1ытэмрэ и напэмрэ.

Ижь – ижьыж лъандэрэ адыгэм псом япэ иригъэщу щытащ и напэр, и ц1ыхугъэр. Адыгэхэм пщ1э хуащ1ырт напэ зи1э, ц1ыхугъэ зыбгъэдэлъ ц1ыхухэм. Нэмыплъ иратырт зи напэпэри зи ук1ытэри 1эщ1ыб зыщ1а ц1ыхухэм. Абы и щыхьэтуи ди бзэм псалъэжь куэд къыхэнащ. Фэ фщ1эуэ п1эрэ ц1ык1ухэ, апхуэдэ псалъэжь.(слайдым тет псалъэжьхэр еджак1уэхэм я пащхьэ идолъхьэ)

— Псэр ящэри напэ къащэху.

— Нэмыс зи1эм насып и1эщ.

-Ук1ытэр щагъуэтым бжэкъуагъым къуэсащ.

— Напищэ нэхърэ зы напэ.

-Ук1ытэ зимы1эм ц1ыхугъи и1энкъым.

Балладэр Щоджэнц1ык1у Алий и фэеплъу зэрыщытар дощ1э. Хэт жи1эн сыту п1эрэ усак1уэм мы тхыгъэр Щоджэнц1ык1у Алий фэеплъ щ1ыхуищ1ар?

И дуней тетык1амк1и, и къигъэнахэмк1и къилэжьыжащ Щоджэнц1ык1у Алий апхуэдэ тхыгъэ гъуэзэджэ, нэгъуэщ1 куэди фэеплъ хуащ1ыныр.

Сыхуейт удым и теплъэр зы еджак1уэм ищ1ыну,адрейм напэ,ук1ытэ,л1ыгъэ псалъэхэр тегъэщ1ап1э зыхуэхъун теплъэгъуэ.

4.Егъэбыдыл1эн

Балладэм и ещанэ 1ыхьэм еджак1уит1-щы къегъэджэн,еджак1уит1ым тест лэжьыгъэхэр егъэщ1ыжын:

Тхыгъэм и ещанэ 1ыхьэр:

Гъатхэ пасэщ ещанэгъэр,

Пц1ащхъуэр уэгум щос.

Л1ыжьыр дэлъу гъатхэ дыгъэм

Удыр занщ1эу къос.

Блэм и щ1ыфэу,уд 1э гъурыр

Л1ыжьым ще1усам,

Щылъэтащ ар щтэ1эщтаблэу

Ещхьу блэ зэуам.

«Сувы1энкъым,-же1э удым,-

Сымыхьау уи напэр;

Зэф1эк1ынущ ар тынш дыдэу,

Що1усам си 1эпэр.

Уи ук1ытэр сэ къызэптым,

Уи яужь сок1ыж.

Уи ни уи бзи уи ук1ытэм

Пэк1уэу узотыж.

Ц1ыхум напэр зэран хуохъур,

Насыпыншэ ещ1.

Ц1ыхум напэр игъэлъап1эм,

«Хьэуэ!-же1эр л1ыжьым игук1э,

Зыми димыхьэх:

-Сэ схуэщэнкъым си ук1ытэр,

«Ауэ щыхъук1э,-же1эр удым,-

Телъхьэ ин пхузощ1:

Дунеишхуэм ф1ыгъуэу телъыр

«Хьэуэ!-же1э л1ыжьым игук1э,-

Ухэмыт а псом,

Ук1ытэншэу упсэу нэхърэ

«Армэ хъункъэ,-же1эр удым,-

Уи псэр къыхызох.

Уи ук1ытэр уигу пымык1ым,

Нэпсу нэм къыщ1ок1.

Асыхьэтым щ1оху и лъакъуэр,

Хуэму и псэр хок1.

Тест упщ1эхэр:

1. Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ…

б) К1ыщокъуэ Алим

в) Щомахуэ Амырхъан

а) Щоджэнц1ык1у Алий

б) Джэдгъэф Борис

4. Цы 1уданэ плъыжьк1э и нэр

Псалъэу жи1эм гур е1ул1эр

Ещхьу хуэш хыхьам.

Мы псалъэхэр зытепсэлъыхьыр…

а) етхуанэ классым;

б) еханэ классым;

Классым щ1эс еджак1уэхэм упщ1э яхуэгъэувын:мы балладэр зытепсэлъыхь 1уэхугъуэр фэ къыфщыщ1амэ,сыт хуэдэ хэк1ып1эт фи1энур?Дунейм фи бзэр бзэрабзэу,нэхэм дахагъэ псори ялъагъуу фытетынут напэр фимы1эжу,хьэмэрэ а дахагъэ псоми фыхуэхейуэ,ауэ фи напэр хужьу фыпсэупхъэт.Жэуап къатахэм ипкъ итк1э еджак1уэхэр гупит1у гуэшын.Апхуэдэ жэуап къызэратам тегъэщ1ауэ я гупсысэхэр утыку кърегъэлъхьэн.

5.Урокыр зыщ1экъуэжын

Егъэдж. -Ц1ык1ухэ,урокыр иризэщ1эткъуэжыну сыхуейт синквейнк1э.Псалъэхэр:напэ,л1ыгъэ,уд

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Описание презентации по отдельным слайдам:

Гъащ1эм хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу ц1ыхум бгъэдэлъыр:Ф1ы, лъагъуныгъэ, шы1э.

Гъащ1эм хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу ц1ыхум бгъэдэлъыр:
Ф1ы, лъагъуныгъэ, шы1эныгъэ, пщ1э, напэ, къабзагъэ, пэжыгъэ, намыс, гущ1эгъу, гуф1эгъуэ,

Акъыл ц1ыхугъэнапэ

Акъыл Ц1ыхур зэрыгупсысэ, зэрызэхищ1ык1 .

Акъыл
Ц1ыхур зэрыгупсысэ,
зэрызэхищ1ык1 .

Воля — гушхуэныгъэ,хущ1экъуныгъэ,ф1эф1ыныгъэ,хуитыныгъэ.щхьэхуитыныгъэ.

Псалъэжьхэр Адыгэ напэр къэзылъхур –пэжыгъэщ. Напэм и пэ псэр ихуэ. Псэр щ.

Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур
–пэжыгъэщ.
Напэм и пэ псэр ихуэ.
Псэр щэй напэ къщэху.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зи1эм л1ыгъэхэлъщ.

Напэ-къабзэщ,хужьщ,къо-упщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ,хеящ1э нэхъыщхьэщ.

Дауэ зэрытхъумэныр ди напэр ?

Дауэ зэрытхъумэныр ди напэр ?

ЖэуапырСытым щыгъуи пэжыр жыт1эфу дыщытын, ди щыуагъэхэр къэдгъуэтыжыфу дыщыт.

Жэуапыр
Сытым щыгъуи пэжыр жыт1эфу дыщытын, ди щыуагъэхэр къэдгъуэтыжыфу дыщытын, гъэгъуныгъэ,ук1ытэ тхэлъын.

Напэ зимы1э ц1ыху. Ук1ытэ,хабзэ зыхэмылъ,зым щхьэк1и зи дзэ мыш ц1ыху.

Напэ зимы1э ц1ыху.

Ук1ытэ,хабзэ зыхэмылъ,зым щхьэк1и зи дзэ мыш ц1ыху.

Напэ зезыхьэ ц1ыхум и сурэт Абы сыт хуэдэ 1уэхури пэжыгъэ хэлъу елэжь…(пц1ы х.

Напэ зезыхьэ ц1ыхум и сурэт
Абы сыт хуэдэ 1уэхури пэжыгъэ хэлъу елэжь…(пц1ы хэмылъу, и гум къыбгъэдэк1ыу.)
Ар – ц1ыху …(захуагъэм и телъхьэщ., дзыхь ебгъэз хъунущ., 1уэху зыпэрыувэм пэжу бгъэдэдтщ. )
Абы и сыт хуэдэ лъэбакъуэри пэжаъэм,захуагъэмтету еч. (егупсысауэ.)
Абы ищ1энукъым 1уэхугъуэ …(щ1эук1ытэн, и щхьэр щ1рихьэхын.абы мылъку е ахъшэ къыпэк1уэну щытми.)
Ар блэк1ынукъым …(ц1ыхум сэбэп хуэхъуфыну ищ1эмэ)
Напэ зи1э ц1ыхум щыуагъэ къы1эщ1эщ1ауэ щытмэ.. (ар щ1огъукэж ), ик1и …. (ироук1ытэж).
Напэр къегъэлъагъуэ…(ц1ыхум и гум илъымрэ и дуней тетык1эмрэ).
Абы ц1ыхур хуеущий… (ф1ым, пэжыгъэм,захуагъэм).
И жагъуэ мэхъу… (мыхъумыщ1агъэ щилъагъум деж).

Рефлексия. Псалъэухар нэгъэсыж. Сэ нобэ къэсщ1ащ… Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ… Гуг.

Рефлексия.
Псалъэухар нэгъэсыж.

Сэ нобэ къэсщ1ащ…
Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ…
Гугъут.…
Сэ къызгуры1уащ, …
Сэ зэхэсщ1ащ, …
Сэ сыдихьэхащ.…
Урокым сэ къызгуригъэ1уащ.…
Сэ сыхуейщ.…

Читайте также:

      

  • Чайковский вальс снежинок сочинение
  •   

  • Принципиальность это сочинение 9 3
  •   

  • Сочинение керпе на татарском 5 класс
  •   

  • Сочинение про данила козловского
  •   

  • Монстр хай школьное сочинение

Слайд 1Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ
Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес ипхъу.


Слайд 2Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ.
(Нало З.)

Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэкIэщ, дуней тетыкIэщ. (Нало З.)


Слайд 3Мастер-классым и темэр:

«Псэм и пэ- напэ.»

Мастер-классым и темэр: «Псэм и пэ- напэ.»


Слайд 4Мастер-классым и мурадхэр:

1. напэ псалъэм и мыхьэнэр

гъэбелджылын;

2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр ягурыгъа1уэк1эрэ еджак1уэхэм

гъэсэныгъэ хэлъхьэн;

3. напэм и тезырым и хьэлъагъыр на1уэ къэщ1ын;

4. ц1ыху нэс, ц1ыху пэж, лэжьыгъэр зыгъэк1уатэ, Хэкур ф1ыуэ зылъагъу хъуным хуэгъэсэн, я гур дахагъэм пэжыгъэм, къабзагъэм, щ1эныгъэм къыхуэгъэушын.

Мастер-классым и мурадхэр:  1. напэ псалъэм и мыхьэнэр гъэбелджылын;  2. напэмрэ ц1ыхугъэмрэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр


Слайд 5- Псэ къабзэ
-Псы къабзэ
-Пэж къабзэ
— Напэ къабзэ

— Уафэ къабзэ
— Жьы къабзэ
-Тетрадь напэ

- Псэ къабзэ-Псы къабзэ -Пэж къабзэ - Напэ къабзэ - Уафэ къабзэ- Жьы къабзэ  -Тетрадь напэ


Слайд 6Урокым и эпиграфыр:
Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,
Я фIэнэхъ къабзэр,

мазэм хуагъадэр.
Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,
Нэхъ къабзэу сыбжыр — адыгэ

напэрщ.
Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,
Уэри уи напэ, сэри си напэ адыгэ напэрщ.
ЗэтрипIэжми тхьэшхуэм ди напIэр,
МылIэжыныпсэр адыгэ напэрщ.

Урокым и эпиграфыр:Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъапIэр,Я фIэнэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр.Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэр,Нэхъ къабзэу сыбжыр


Слайд 7Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
Напэм ипэ псэр ихуэ.
Псэр щэи

напэ къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ зиIэм

лIыгъэ хэлъщ.
Напэ зимыIэм сыт епщIэфын!?
Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ.
ЛIэныгъэми лIыгъэ хэлъщ
Е улIын, е улIэн
Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
Е пщIауэ фIым ущымыгугъ.
ИкIута из хъужыркъым

Псалъэжьхэр Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщНапэм ипэ псэр ихуэ.Псэр щэи напэ къэщэху.Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.Напэм техуэр жьэм


Слайд 8-Сэ си напэр , си ук1ытэр
Уэстынкъым, сыл1ам!
СУхуейм сыгъэпщыл1.
С1ихыфыну

сэ си напэр
Дунейм теткъым зыл1.
Напэншэу сыпсэу нэхърэ
нэхъыф1щ

сымыпсэум
1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.

-Сэ си напэр , си ук1ытэр Уэстынкъым, сыл1ам!СУхуейм сыгъэпщыл1.С1ихыфыну сэ си напэр Дунейм теткъым зыл1.Напэншэу сыпсэу нэхърэ


Слайд 9ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.

ЩоджэнцIыкIу Алий 1900- 1941гъ.гъ.


Слайд 10Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр
Нурыр къыщхьэщех,
ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу
ЛIым и

хьэдэр дах.
Напэ къабзэм и къабзагъэр
Дыгъэ бзийм хыхьащ.
Анэ псоми я быдзышэм
Бынхэм

хухалъхьащ.

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэрНурыр къыщхьэщех,ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэуЛIым и хьэдэр дах.Напэ къабзэм и къабзагъэрДыгъэ бзийм хыхьащ.Анэ псоми


Слайд 11Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщ
Напэм ипэ псэр ихуэ.
Псэр

щэи напэ къэщэху.
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
Напэм техуэр жьэм же1эр.
Напэ

зи1эм л1ыгъэ хэлъщ.
Напэ зимы1эм сыт епщ1эфын!?
Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ.
Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ
Е ул1ын, е ул1эн
Шыгъу зышхар псы ефэжын хуейщ.
Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ.
Ик1ута из хъужыркъым

Псалъэжьхэр Адыгэ напэр къэзылъхур пэжырщНапэм ипэ псэр ихуэ.Псэр щэи напэ къэщэху.Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.Напэм техуэр жьэм


Слайд 12Бзэм зегъэужьын:

Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху,

къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу.

Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу цIыху

Бзэм зегъэужьын: Хэхэс- нэгъуэщI щIыпIэ, хамэщI къикIауэ псэу цIыху, къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщI щыпсэу. Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэIухуэмкIэ псэу


Слайд 13Какие б ни грозили горести,
И где бы ни ждала

беда,
Не поступайся только совестью,
Ни днем, ни ночью, никогда!

Какие б ни грозили горести, И где бы ни ждала беда, Не поступайся только совестью, Ни днем,


Слайд 14Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, — жаIэ.
Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей


Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу щызиIэм
Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм.

Елгъэр Кашиф.

Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ, - жаIэ. Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей - Си лъэпкъ и пащхьэ напэ тIэкIу


Слайд 15Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус,
Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей,
Губжьк1э бдзы

уи 1упсыр
Къэнэжынщ уи дей.

К1уащ Бет1ал.

Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус, Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей, Губжьк1э бдзы уи 1упсыр Къэнэжынщ уи дей.


Слайд 16«Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри

дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ
псом нэхърэ нэхъапэр,си щ1алэ.»

«Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ псом нэхърэ нэхъапэр,си щ1алэ.»


Слайд 17«…Напэр — лъапIэщ,
Напэр сытми япэщ!…»
(Жылэтеж Сэлэдин)

«…Напэр - лъапIэщ,   Напэр сытми япэщ!...» (Жылэтеж Сэлэдин)


Слайд 18«… Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри
Пумылъыт уэ напэм.
ЛIы хуэдэлIым

псэри гури
Къуитыфынущ япэ!…»

(Жылэтеж Сэлэдин)

«… Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри Пумылъыт уэ напэм.  ЛIы хуэдэлIым      псэри


Слайд 19 Синквейн:
Напэ
къабзэщ,хужьщщ;
къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ;
хеящ1э нэхъыщхьэщ;
Псэм ипэ- напэ.

Синквейн:Напэ къабзэщ,хужьщщ; къоупщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ; хеящ1э нэхъыщхьэщ; Псэм ипэ- напэ.


Слайд 20Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди цIыху, ди адыгэ напэм.

Лъэпкъ напэр тезымыхын,
зи

напэр темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!

Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди цIыху, ди адыгэ напэм.Лъэпкъ напэр тезымыхын,зи напэр темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!




Скачать материал

Нало Заур 
 «Ц1ыху напэ»
7 класс



Скачать материал

  • Сейчас обучается 23 человека из 18 регионов

  • Сейчас обучается 92 человека из 39 регионов

Описание презентации по отдельным слайдам:

  • Нало Заур 
 «Ц1ыху напэ»
7 класс

    1 слайд

    Нало Заур
    «Ц1ыху напэ»
    7 класс

  • Гъащ1эм хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу ц1ыхум бгъэдэлъыр:Ф1ы, лъагъуныгъэ, шы1э...

    2 слайд

    Гъащ1эм хъугъуэф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэу ц1ыхум бгъэдэлъыр:
    Ф1ы, лъагъуныгъэ, шы1эныгъэ, пщ1э, напэ, къабзагъэ, пэжыгъэ, намыс, гущ1эгъу, гуф1эгъуэ,

  • Акъыл ц1ыхугъэнапэ

    3 слайд

    Акъыл
    ц1ыхугъэ
    напэ

  • Акъыл 
Ц1ыхур зэрыгупсысэ,
зэрызэхищ1ык1 .

    4 слайд

    Акъыл
    Ц1ыхур зэрыгупсысэ,
    зэрызэхищ1ык1 .

  • Воля — гушхуэныгъэ,хущ1экъуныгъэ,ф1эф1ыныгъэ,хуитыныгъэ.щхьэхуитыныгъэ.

    5 слайд

    Воля — гушхуэныгъэ,хущ1экъуныгъэ,ф1эф1ыныгъэ,хуитыныгъэ.щхьэхуитыныгъэ.

  • Псалъэжьхэр
Адыгэ напэр къэзылъхур 
–пэжыгъэщ.
Напэм и пэ псэр ихуэ.
Псэр щ...

    6 слайд

    Псалъэжьхэр
    Адыгэ напэр къэзылъхур
    –пэжыгъэщ.
    Напэм и пэ псэр ихуэ.
    Псэр щэй напэ къщэху.
    Напэм техуэр жьэм же1эр.
    Напэ зи1эм л1ыгъэхэлъщ.

  • Напэ-къабзэщ,хужьщ,къо-упщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ,хеящ1э нэхъыщхьэщ.

    7 слайд

    Напэ-къабзэщ,хужьщ,къо-упщ1ыр,уеущий,уегъэук1ытэ,хеящ1э нэхъыщхьэщ.

  • Дауэ зэрытхъумэныр ди напэр ?

    8 слайд

    Дауэ зэрытхъумэныр ди напэр ?

  • ЖэуапырСытым щыгъуи пэжыр жыт1эфу дыщытын, ди щыуагъэхэр къэдгъуэтыжыфу дыщыт...

    9 слайд

    Жэуапыр
    Сытым щыгъуи пэжыр жыт1эфу дыщытын, ди щыуагъэхэр къэдгъуэтыжыфу дыщытын, гъэгъуныгъэ,ук1ытэ тхэлъын.

  • Напэ зимы1э ц1ыху.

Ук1ытэ,хабзэ зыхэмылъ,зым щхьэк1и зи дзэ мыш ц1ыху.

    10 слайд

    Напэ зимы1э ц1ыху.

    Ук1ытэ,хабзэ зыхэмылъ,зым щхьэк1и зи дзэ мыш ц1ыху.

  • «жить по совести»Когда человек не выполнил того, что был обязан сделать, схит...

    11 слайд

    «жить по совести»
    Когда человек не выполнил того, что был обязан сделать, схитрил, обманул кого-то. 
    Жить честно, справедливо.
    Делать что-либо хорошо, добросовестно.
    Поступать нравственно.
    «жить против совести»
    Поступать без стыда, без стеснения.
    Жить спокойно, не испытывая угрызения совести.

  • Напэ зезыхьэ ц1ыхум и сурэт
Абы сыт хуэдэ 1уэхури пэжыгъэ хэлъу елэжь…(пц1ы х...

    12 слайд

    Напэ зезыхьэ ц1ыхум и сурэт
    Абы сыт хуэдэ 1уэхури пэжыгъэ хэлъу елэжь…(пц1ы хэмылъу, и гум къыбгъэдэк1ыу.)
    Ар – ц1ыху …(захуагъэм и телъхьэщ., дзыхь ебгъэз хъунущ., 1уэху зыпэрыувэм пэжу бгъэдэдтщ. )
    Абы и сыт хуэдэ лъэбакъуэри пэжаъэм,захуагъэмтету еч. (егупсысауэ.)
    Абы ищ1энукъым 1уэхугъуэ …(щ1эук1ытэн, и щхьэр щ1рихьэхын.абы мылъку е ахъшэ къыпэк1уэну щытми.)
    Ар блэк1ынукъым …(ц1ыхум сэбэп хуэхъуфыну ищ1эмэ)
    Напэ зи1э ц1ыхум щыуагъэ къы1эщ1эщ1ауэ щытмэ.. (ар щ1огъукэж ), ик1и …. (ироук1ытэж).
    Напэр къегъэлъагъуэ…(ц1ыхум и гум илъымрэ и дуней тетык1эмрэ).
    Абы ц1ыхур хуеущий… (ф1ым, пэжыгъэм,захуагъэм).
    И жагъуэ мэхъу… (мыхъумыщ1агъэ щилъагъум деж).

  • Рефлексия. 
Псалъэухар нэгъэсыж.

Сэ нобэ къэсщ1ащ…
Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ…
Гуг...

    13 слайд

    Рефлексия.
    Псалъэухар нэгъэсыж.

    Сэ нобэ къэсщ1ащ…
    Гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ…
    Гугъут.…
    Сэ къызгуры1уащ, …
    Сэ зэхэсщ1ащ, …
    Сэ сыдихьэхащ.…
    Урокым сэ къызгуригъэ1уащ.…
    Сэ сыхуейщ.…

  • Унэ лэжьыгъэ 

1. «Ц1ыху напэ»балладэм гъэхуауэ еджэн
2. Сочиненэ к1эщ1 тхын...

    14 слайд

    Унэ лэжьыгъэ

    1. «Ц1ыху напэ»балладэм гъэхуауэ еджэн
    2. Сочиненэ к1эщ1 тхын «напэмрэ ц1ыхугъэмрэ.»

Найдите материал к любому уроку, указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:

6 155 080 материалов в базе

  • Выберите категорию:

  • Выберите учебник и тему

  • Выберите класс:

  • Тип материала:

    • Все материалы

    • Статьи

    • Научные работы

    • Видеоуроки

    • Презентации

    • Конспекты

    • Тесты

    • Рабочие программы

    • Другие методич. материалы

Найти материалы

Другие материалы

  • 26.11.2021
  • 150
  • 3
  • 26.11.2021
  • 742
  • 35
  • 26.11.2021
  • 139
  • 6
  • 26.11.2021
  • 124
  • 1

«Төрөөбүт литература (Родная литература) (в 2 частях)», Поликарпова Е.М., Молукова Л.Ф., Олесова С.Г.

  • 26.11.2021
  • 131
  • 0

«Дешаран книжка (Литературное чтение) (на чеченском языке)», Солтаханов Э.Х., Солтаханов И.Э.

  • 25.11.2021
  • 109
  • 0

Вам будут интересны эти курсы:

  • Курс профессиональной переподготовки «Управление персоналом и оформление трудовых отношений»

  • Курс повышения квалификации «Организация практики студентов в соответствии с требованиями ФГОС юридических направлений подготовки»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация деятельности по подбору и оценке персонала (рекрутинг)»

  • Курс повышения квалификации «Финансы: управление структурой капитала»

  • Курс повышения квалификации «Организация маркетинга в туризме»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация системы менеджмента транспортных услуг в туризме»

  • Курс профессиональной переподготовки «Уголовно-правовые дисциплины: теория и методика преподавания в образовательной организации»

  • Курс профессиональной переподготовки «Организация и управление процессом по предоставлению услуг по кредитному брокериджу»

  • Курс профессиональной переподготовки «Гражданско-правовые дисциплины: теория и методика преподавания в образовательной организации»

  • Курс профессиональной переподготовки «Управление качеством»

  • Настоящий материал опубликован пользователем Чеченова Оксана Заурбиевна. Инфоурок является
    информационным посредником и предоставляет пользователям возможность размещать на сайте
    методические материалы. Всю ответственность за опубликованные материалы, содержащиеся в них
    сведения, а также за соблюдение авторских прав несут пользователи, загрузившие материал на сайт

    Если Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с
    сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.

    Удалить материал

  • Чеченова Оксана Заурбиевна

    • На сайте: 1 год и 3 месяца
    • Подписчики: 0
    • Всего просмотров: 2744
    • Всего материалов:

      3

  • Рабочий лист для урока литературного чтения в 4 классе по поэме А.С. Пушкина

Кабардино – Балкарский 
государственный университет

им.Х.М. Бербекова

Конкурс эссе

«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»

«Напэр псэм япэщ»

https://vr-vyksa.ru/media/images/chronika_VOV_ANAxmFy.max-1200x800.jpgЛэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:

Бахъсэн къалэ дэт  етхуанэ
еджап1эм

и епщ1анэ классым щеджэ

Азычэ Ясминэ

 Егъэджак1уэр:

Л1эужь Залинэ

2021 гъ.

Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар.
ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, уса­кIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэ­уал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэ­уатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр.  Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ.
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм  теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI…
ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм  – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.

Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр

Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!

Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,

ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!

ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,

КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,

Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ

ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.

Окопым
къокIри зы долъей,

И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.

ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,

Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.

Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.

ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:

«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,

Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»

1945 гъ.

(К1ыщокъуэ
Алим)

^

НАЛО ЗАУР

ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу.

Къум пшахъуэхур джабэжь мафIэу

Къигъэплъами дыгъэм,

ГъуэгурыкIуэм нэсыжыным

Химыхыж и гугъэр.

Жыхьэнмэ лъэмыжым хуэдэу,

КIыхьщи пэщылъ гъуэгур,

КIуэ пэтыхукIэ хощI и гуащIэм,

Мэхъур махэ и гур.

ГъуэгурыкIуэм и Iyp плъыхукIэ,

МэункIыфIыр и нэр,

ЗимыщIэжу ар къоджалэр,

Нэсыпауэ псынэм.

Къэмэхауэ хэлъщ пшахъуэхуми,

Ар къегъэткIур дыгъэм;

Дуней псор исыж къыпфIощIыр,

ЗэщIищтауэ лыгъэм.

Мис абдежым зы yд гуэрыр

Къыщохутэ занщIэу;

ЛIыр фIэлIэнкIэ тешынауэ.

Псы IурaкIэ псынщIэу.

ЗыкъещIэжыр лIы мэхами

КъотIысыжыр хуэму,

Удыр лIым.и щыпэлъагъути,

Зэпеплъыхь тэмэму.

Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр

Хуэдэщ къэдыхьам,

Псалъэу жиIэм гур еIулIэр,

Ещхьу хуэш хыxьaм.

«Берычэт бесын, цIыху щхьэпэ! –

ЛIым и макъыр къoIy:-

Зы псы фалъэ сегьэфэжыт …» —

­Удым лIыр йолъэIу.

АтIэ удхэр зыгъэудыр

Лей зэрахьэр арщ.

Мис мы удми и мурадыр

Щпхъаджагъэ гуэрщ.

«Хьэуэ,- жеIэр,- уезгъэфэнкъым

ПщIэншэу зы псы ткIуэпс.

Псы ухуеймэ, къызгурыIуэ,

ЩумыгъэкIыу нэпс.

Гъэ къэсыхукIэ псым и уасэу

КъысхуэпщIынщ зы тыгъэ,

Аращ сэри сиIэр Iycy,

Сытынш уи мыгyгъэ.

Сэ уэ тыгъэу къыпIысхынур

Си гум фIэфI къудейрщ.

Уэ уимы ныбжесIэнкъым,

НэгъуэщI сыт ухуей!»

«3ахуэщ»,-жеIэ, лIыр гуроIуэ,

Псы шынакъ йофэж;

Дыгъэ бзийхэр махэ хъуати,

Я гъуэгу тоувэж.

• • •

Ер вы бжьакъуэм къызэрикIыр

ТщIамэ, Iуэху къэхъунт?

Ер псы фалъэм зэрыхэлъыр

ИщIам, лIыр ефэнт?

А псы фалъэм къикIa Iуэхур

КъэтIуэтэнщ иджы.

Ар къэфщну фэ фыхуеймэ,

Мы тхыдэжьыр вджы.

I

ДокI илъэсыр. Гъатхэ хъуащи

ЩIым телъыжкъым уэс,

Бацэ щапхъыу зыщапхъэхым,

Удыр лIым деж къос.

Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр

Хуэдэщ къэдыхьам,

Псалъэу жиIэм гур еIулIэр,

Ещхьу хуэш хыxьaм.

Вий щIэщIаyэ вэуэ хэтти,

ЗанщIэy лIыр къэскIащ,

«Сыхьэт мыгъуэм сыхуэзати… »

ЛIыжьым игу къэкIащ.

Удым жеIэр: «Илъэс хъуащи,

Хьэкъыр къызэтыж.

Сызыхуейр уи напэр арщи,

ЖыпIам уемыпцIыж.

Уэ укIыrrэ пхэмылъыжкIэ

Упсэун къэнэн,

Уэ уи напэр сэ къызэпткIэ,

Уивхэр бгым дэнэн!»

КъызокIуэкIри и фэр шэхуу

«Хьэуэ!» — жеIэр лIым, —

Сэ си напэр, си укIытэр

Уэстынкъым, сыплIам!

CIых ухуеймэ, мылъкуу сиIэр,

Уеблэм сыгъэпщылI.

СIихыфыну сэ си напэр

Дунейм теткъым зылI».

«Ауэ щыхъукIэ,- жеIэр удым, —

Уи бзэр къыпIызох.

Зи укIытэр зигу пымыкIым,

Ар ухуейм къыхэх!»

И щхьэ тхъуар къыфIохур лIыми,

Мэхъур арэзы.

Мэдий и бзэр асыхьэтми,

ЖимыIэжу зы.

ШауэнапщIэм Iэнкун хъуауэ

ЛIыр гупсысэу тесщ.

Гуауэ иныр къылъысауэ

И гур мафIэм ес.

«Ягъэ кIынкъым»,- жеIэр игукIэ,

И щхьэр къeIэтыж;

Еубыдыжри пхъэIэщэкIыр.

Лажьэу хоувэж.

* * *

II

ЕтIанэгъэм жыг гъэгъахэр

Хуэдэщ телъым уэс.

Къэщхьэлъауэ сэтэнейхэр

Удыр лIым деж къос.

Цы Iуданэ плъыжькIэ и нэр

Хуэдэщ къэдыхьам,

Псалъэу жиIэм гур еIулIэр,

Ещхьу хуэш хыхьам.

Хадэ ипщIэу хэтти лIыжьыр,

ФIанэр Iэпыхуащ.

«Сыхьэт мыгъуэм тхьэм ухуишэ»… —

­Удым лIыр ебгащ.

Гум едзакъэу къодыхьэшхри

Удым жеIэр мыр:

«СыкъэкIуащ уи напэр схьыну,

Ар Алыхь Iэмырщ.

АтIэ напэр сэ къызэпткIэ,

Сытыр уэ пxэщIын?

Уэ укIытэ пхэмылъжкIэ,

Упсэун къэнэн!»

«Хьэуэ,- жеIэр игукIэ бзагуэм,

­Напэ уэзмытын,

Лей къызохыр уэ щIэпхъаджэм,

Тхьэм уищI хэутэн!»

«Ауэ щыхъукIэ,- жеIэр удым,-

Уи нэр къыпIызох.

Зи укIытэр зигу пымыкIым,

Ар ухуейм, къыхэх».

И гум хьэлъэу къощэIукIри

ЛIыр мэхъу арэзы.

Дунейр занщIэу мэункIыфри

Илъагъужкъым зы.

Бзагуэу, нэфу жэщ къытохъуэ,

Губгъуэм къонэ ар.

Нэху щыпауэщ къуэ къылъыхъуэм

ЩыпэщIэхуэжар.

* * *

Напэр нэкIэ ихъуэжынум

ЗэрегуакIуэщ щхьэж.

Бзагуэ хъуами, нэф хъупами.

ЛIыфIыр щIемыгъуэж.

Зэзэмызэ къызэфIонэ,

Нэпси къыфIыщIокI.

Ауэ напэр ихъуэжыну

Зэи игу къэмыкI.

III

Гъатхэ пасэщ ещанэгъэр,

ПцIащхъуэр уэгум щос.

ЛIыжьыр дэлъу гъатхэ дыгъэм

Удыp занщIэу къос.

Блэм и щIыфэу, уд Iэ гъурыр

ЛIыжьым щеIусам,

Щылъэтащ ар щтэIэщтаблэу,

Ещхьу блэ зэуам.

«СувыIэнкъым,- жeIэ удым,

­Сымыхьау уи напэр;

ЗэфIэкIынущ ар тынш дыдэу,

ЩоIусам си Iэпэр.

Уи укIытэр сэ къызэптым,

Уи яужь сокIыж.

Уи ни уи бзи уи укIытэм

ПэкIуэу узотыж.

ЦIыхум напэр зэран хуохъур,

НасыпыфIэ ещI.

ЦIыхум напэр игъэлъапIэм,

Мэхъу и жыпыр нэщI».

«Хьэуэ! — жеIэр лIыжьым игукIэ,

3ыми димыхьэх:

— Сэ схуэщэнкъым си укIытэр,

Ухуейм, си псэр хэх».

«Ауэ щыхъукIэ,- жеIэр удым, —

Телъхьэ ин пхузощI:

Дунеишхуэм фIыгъуэу телъыр

Уасэ хъун къысфIощI».

«Хьэуэ! — жеIэ лIыжьым игукIэ,

­Ухэмыт а псом,

УкIытэншэу упсэу нэхърэ

НэхъыфIщ умыпсэум».

«Армэ хъункъэ,-жеIэр удым,

­Уи псэр къыхызох.

Уи укIытэр уигу пымыкIым,

Ар ухуейм къыхэх».

«Захуэщ!» — жеIэр. Зы ткIуэпс закъуэ

Нэпсу нэм къыщIокI.

Асьrxьэтым щIоху и лъакъуэр,

Хуэму и псэр xокI.

* * *

Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр,

Нурыр къыщхьэщех,

ЦIыхуу щыIэм ягъэлъапIэу

ЛIым и хьэдэр дах.

Напэ къабзэм и къабзагъэр

Дыгъэ бзийм хыхьащ,

Анэ псоми я быдзышэм

Бынхэм хухалъхьащ.

А къабзагъэр сабиинэм

УщIэплъам щолъaгъу,

ЦIыху напэншэр абы щIэплъэм,

Щохъур и нэм бжэгъу.

Нэхур щыщкIэ, а къабзагъэр

Дыгъэм щIым къехьэс.

ЦIыху напэншэм зэрыIуплъэу

ЗанщIэу и нэр къес.

8. ^

НАЛО А.

(Хъыбар)

Къэбэрдейм цIэрыIуэ гуэр исащ, Хьэтуукъуэ ХьэтIохъущыкъуэкIэ еджэу. ЛIыгъэкIи, хабзэкIи, теплъэкIи, псалъэкIи дэбгъуэн щымыIэу. Iуэхур Iэщэрэ акъылрэ хуэкIуамэ, жылэ псо и уасэу ябжу, къытекIуэ хэкум имысу, апхуэ­дэлIт ХьэтIохъущыкъуэ и цIэр зэрыIуар.

НтIэ, апхуэдэлIхэм я цIэр нэгъуэщI лъэпкъхэм я дежи нэсыркъэ — Хьэтуукъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и хъыбар къущ­хьэхэми ялъэIэсащ. Джылахъстэнейр къущхьэкIэ зэджэр осетинхэрщ. Мыбы жыхуиIэри ахэрщ. Ти, ХьэтIохъущы­къуэ и цIэр къущхьэм нэсащ.

Къущхьэхэми яхэтт Астап и къуэ Джага Мылъхуэс жаIэри лIы хахуэ гуэр. Джага Мылъхуэсым и цIэри Къэ­бэрдейм къэсащ: Хьэтуукъуэ ХьэтIохъущыкъуэ къылъэ­Iэсащ.

ЛIитIым я цIэ зэлъэIэса нэужь, зым зыр къилъыхъуэу хуежьэри, апхуэдэу лIитIым зэрылъагъуну мурад ящIам зэрыгъуэтынтэкъэ — зэрыгъуэтащ, зэрылъэгъуащ. «ЛIы ха­хуэ» къыхужаIэ щхьэкIэ, тIури щIалэу къыщIэкIащ. Зыр фыз къэмышэу, адрейм къиша къудейуэ. Зэхуэзэри ягу зэ­рихьащ, ныбжьэгъу зэхуэхъуащ, зэгъусэу щакIуэ, зекIуэ кIуэуэ щIадзащ, гъуэгукIэ, лIыгъэкIэ зэрыгъэунэхуащ. ЛъэпкъитIым я лIы хахуитIыр ныбжьэгъу зэрызэхуэхъуар адыгэхэми къущхьэхэми ягу ирихьащ, иригуфIащ: «япэ къэс зи мыIуэху хъунщIакIуэ тегушхуэгъуафIэ дыкъищIы­жынкъым иджы»,- жаIэри, езы тIури, зызыщамыгъэнщIу фIыуэ зэрылъагъурти, я зэхущытыкIэр цIыхум къызэры­хуагъэдахэм сабийм хуэдэу щыгуфIыкIырт.

Апхуэдэу Псыжь куэдрэ Iуэху щызэрахуэу, къагъэзэж­рэ, Шэшэным къыщыхъуар зэфIагъэкIыу, Ираф аузым ды­хьэрэ Фаснал нэс кIуэуэ, Джага Мылъхуэс деж щыхьэщIа нэужь, къуршым дыхьэхэрэ Сонэм щыщакIуэу, къыщхьэдэхыжмэ, Урыху губгъуэ къихьэжрэ ХьэтIохъущыкъуэ деж кIуэжу я гъащIэр яхьырт, шыбгым ису, «Темыр къэзакъ шу закъуэрэ шы тхьэкIумэ дэплъу, жэщыбгым къэкIуэжын, нэхущым къэкIуэжын?» жыхуаIэм хуэдэу. Апхуэди­зу фIыуэ зэрылъагъурт а тIури, зым и бзэр адрейм зэ­ригъэщIауэ, щызэпсалъэкIэ, ХьэтIохъущыкъуэ Джага зэ­репсалъэр къущхьэбзэт, Джага жэуап къызэритыжыр адыгэбзэт. ТIури лъэпкъ зэхыхьэм я бзэкIэ епсалъэрт.

Ти, апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым Астан и къуэ Джа­га Мылъхуэсыр и ныбжьэгъум деж къэкIуащ. Хьэтуукъуэр хьэщIэм щыгуфIыкIащ, игъэхьэщIащ, игъэлъэпIащ. Ауэ сыт хуэдизу ХьэтIохъущыкъуэ хьэщIэм щыгуфIыкIами, модрейм и щхьэр къыхуэмыIэту нэщхъейт. Бысымыр къэ­гузэващ, къэуIэбжьащ, и хьэщIэм и нэщхъеикIэр щхьэжэ хуэхъуащ. И ныбжьэгъум къылъыкъуэкIынкIэ хъуа нэщ­хъеягъуэм ХьэтIохъущыкъуэ куэдрэ егупсыса нэужь, гу­рыщхъуэ ищIащ Джага къэшэныгу хъуауэ, занщIэуи еупщIащ:

— Ярэби, Джага, уи къэшэгъуэ мыхъуауэ пIэрэ уэ? — ­жиIэри.

— Ара си гугъэщ къысщыщIар, ХьэтIохъущыкъуэ. Ауэ уи хьэтыркIэ адыгэ фIэкI къэзмышэну мурад сщIащи, къысхуэгъуэт къэсшэн.

— Джылахъстэнейм щыщIэддзэнщи, Къэбэрдейр щIэт­пщытыкIынщ, Хьэжрэтым дыкIуэнщ, КIахэмкIэ дызэпры­кIынщи Абазэм дихьэнщ, уигу ирихьын хъыджэбз дымыгъуэтрэ, си тхьэрыIуэщ, уигу ирихь фызыр къозмыгъашэм! Абы уримынэщхъей.

ХьэтIохъущыкъуэм зэрыжиIам хуэдэу ящIащ, ауэ Джа­га и нэ къыфIэнэн ямыгъуэтауэ, мазитIым щIигъукIэ къа­кIухьри къагъэзэжащ. ХьэтIохъущыкъуэ и къуажэм къы­хуэкIуэжу зы выгу къыщIыхьэри къыблэкIащ. Хьэтуу­къуэм нэхъ хуабжь зыкъищIащ, ауэ Джага Мылъхуэсыр выгум къылъэщIыхьэу абы ис цIыхубзым щыIуплъэм, лIэн-къэнэну ехъуэпсащ. ЦIыхубзми, шум и плъэкIэм гу щылъитэм, IэлъэщIыр зытрипхъуэжащ. Джага къыкIэ­рыхуауэ, зэплъэкIыурэ, къакIуэу щилъагъум, ХьэтIохъу­щыкъуэ къызэпсэлъэкIащ къущхьэбзэкIэ:

— УкъыкIэрохури-тIэ, къеуэIуэ! IЦхьэ укъызэIыхьа ап­хуэдэу?

— А зиунагъуэрэ, ХьэтIохъущыкъуэ, сыкъэбгъанэу щхьэ ущIэпхъуэжа! Уафэри щIылъэри жыхуаIэм хуэдэу уэрэ дэрэ щIэдмыщыкIа къэдгъэнакъым, иджы а гум ис цIыхубзым сомыгъэплъу щхьэ ущхьэщыкIрэ? Абы исыр зэрытхьэIухудыр пщIэрэ уэ?!

ХьэтIохъущыкъуэ шхуэмылакIэр Iэпыхуащ, ауэ шыр щыщIэлъэтым, зэщIикъуэжащ.

— Уигу ирихьа ар? Ар ди гъунэгъум япхъущ. Уигу ири­хьамэ, пIалъэ имыIэу пщэдей уэдгъэшэнщи удгъэкIуэ­жынщ. Ар сэ си Iуэхущ.

Джага игу къызэрыгъуэтыжри ныбжьэгъум бгъурыувэ­жащ, псынщIэ дыдэуи Хьэтуукъуэхэ я пщIантIэм къыды­хьэжащ. Пшапэр зэхэуащ. ХьэщIэр ягъэхьэщIэри, гъуэлъыжыгъуэ щыхъум, ягъэзэгъэжащ. ХьэтIохъущыкъуэ и пэшым щIыхьэжри къэхъуар и фызым хуиIуэтэжащ.

— Нобэ уи дыщ укъикIыжу дыкъыбблэкIам нэхъ псын­щIэу къыбблэсшын си гугъащ, си ныбжьэгъум уезмыгъэлъагъуу, ауэ хъуакъым, бетэмал, укъилъагъури къохъуэ­псащ. Сэ абы псалъэ естащ зэхъуэпсар хъыджэбзми фыз­ми, къыхуэсшэну. Си псалъэм сепцIыж хъунукъым. Пщэ­дей абы уестынущи, зыгъэхьэзыр.

— УзэрыфIэфIщ, пщIыр си унафэщ.

— ПщIантIэм дэтхэр згъэIущащ, абы жылэр ягъэIущыжынущ, ди гъунэгъу хъыджэбз хуэдэу уестынущ.

Фызым зигъэхьэзыру, унагъуэм исхэм я гуащэр зэры­рагъэшэным зыхуащIу, Джага игу зэгъэжауэ жейуэ нэху къатещхьащ.

Нэху къекIщ, зэрыжылэу фызышэр ягъэхьэзырри, Джа­га ирагъэжьэжащ, адыгэ хабзэкIэ шу гъусэ щIыгъуу. Ауэ фызышэм щыIэ хабзэ нэщхъыфIагъэр дэнэ къикIынт,­ псори нэщхъейт, Джага нэмыщI.

Къуажэбгъум зэныбжьэгъуитIым я Iэ щызэрыубыдыж­ри, Джага фызышэм щIыгъуу ежьэжащ, ХьэтIохъущыкъуэ къигъэзэжащ.

Шэджагъуэ хъуху кIуауэ, дыгъэр гуащIэ щыхъум, псы Iуфэм къыщыувыIащ фызышэр. Щауэр шу гъусэхэм яхэ­кIуэтащ, дзэл жьауэм щIакIуэр щидзри «нысащIэм» къе­джащ. Ишэри щIакIуэ кIапэм тригъэтIысхьащ. «Ныса­щIэм», гузэвэгъуэр къыкIэщIэзэрыхьри, щэхур иIуэтащ:

— Уи ныбжьэгъум и Iэщи иши къеIыпх хъунщ, къы­уитмэ, ауэ фыз къыIахыу иджы фIэкI слъэгъуакъым.

Къэхъуар Джага къыщищIэм, фызыр къишэжри и ны­бжьэгъум къритыжащ, шыпхъуи къищIри ежьэжащ.

ЗэныбжьэгъуитIым я Iэ щызэрыубыдыжым, цIыхубзым, къаплъэри, псэкIэ зэхищIащ, мы тIум я цIыхугъэр зэры­Iуэтэгъуейр.

Ти, Джага кIуэжащ. Зыкъом дэкIри фызи къишащ, адыгэ фыз. Хьэтохъущыкъуи ар илъэгъуащ, абыи лIыгъэ щызэрихьащ, ауэ ар нэгъуэщI хъыбарщ…

^

НАЛО А.

(Т а у р ы х ъ)

Хъыджэбз дахитI зэгъунэгъуу дэст, тIуми я шэгъуэу, тIури тхьэIухуду дахэу, я хьэл-щэнкIи зэхуэдэу укъамы­гъэукIытэну, я теплъэр уардэу, я бгыр псыгъуэу, щызе­кIуэкIэ къаз псы ес хуэдэ щIыкIафIэу, я IэщIагъэкIэ цIэ­рыIуэу, утыку ихьамэ, жьыри щIэри къехъуапсэу къикIы­жу, абыхэм зэрапэсу къагъэфа щIалэхэм насыпыфIэу, забжыжрэ тхьэмахуэ псокIэ иригуфIэу яIуэтэжу къызэ­рагъэфар. Лъыхъур тIуми яхузэблэкIырти зыр ежьэжмэ, зыр епсыхырт, тIум я хьэщIэщри зэи нэщI хъуртэкъым, яхузэблэкIхэри ауэ къызэрыгуэкI щIалэжь цIыкIутэ­къым – мор щIалэ, мыр щIалэ жыхуаIэ нэхъ цIэрыIуэт къылъыхъухэри, ауэ псоми дзы къыхуагъуэтырт е езыхэм, е я анэхэм: хэт шытесыкIэмыщIэт, цIыху хэтыкIэмыщIэт, хэти нэгъуэщI зыгуэрт. ТIури нэхъыфI пэплъэрти а зыпэ­плъэри къыкъуэкIащ: и лIыгъэкIи и теплъэкIи хэку псом щызэпэзэрылъу хьэщIэ цIэрыIуэ къахуэкIуащ я гъунэ­гъум, я гъунэгъу нысащIэм и дэлъхуу. ЩIалэр хъыджэбза­плъэу къыщIэкIри абыкIи ягу зэгъащ. Хъыджэбзаплъэ щыхъукIэ хъыджэбз цIэрыIуитIми яфIэкIыу хэт ирагъэ­плъынт, а тIум ирагъэплъащ. Къыхихынур имыщIэу щIа­лэм тIури игу ирихьащ, езы хъыджэбзитIми щIалэр ягу ирихьащ. Ауэ тIум хэплъыхьыжыпэри къыхихыныр ищIакъым. ТIэкIунитIэ нэхъ мыхъуми зыр зым нэхърэ зэры­нэхъ Iей, дагъуэ гуэр зыхуищIын къилъыхъуэу хуежьэри зыри игъуэтакъым. Ар щхьэжагъуэ хуэхъури къэнащ щIа­лэм ищIэнур имыщIэжу, жэщкIэ мыжейуэ, махуэкIэ емышхэжрэ емыфэжу. Жэщми арат зэгупсысыр, махуэкIи и гупсысапIэр арат, ауэ телъыджэкъэ, зэхъуэпсар и нэгу къыщыщIэувэкIэ зыр и нэгу къыхущIэгъыхьэртэкъым етIуанэр имыгъусэу…

ХъыджэбзитIри къехъуэпсэщати къаплъэрэ къэдаIуэу щыст, дэтхэнэр дыкъыхихауэ пIэрэ жаIэрэ абыхэм гузэвэ­гъуэр ятелъу, ауэ къэдаIуэ щхьэкIэ зыри зэхахыртэкъым. Зым адрейм зыщримыгъащIэу тIури зэгупсысыр а щIа­лэрт. Я анитIми мо щIалэ цIэрыIуэ дэгъуэр я малъхъэ хъумэ я гуапэти, фызитI зэпсалъэу ялъэгъуамэ, къэувы­Iэрти ядэуэршэрхэрт, игъащIэм ямыцIыхуауэ щытми, зы­гуэр зэхахынкIэ гугъэу, ауэ хъыбар лъэпкъ дунейм теттэкъым…

Абы щыгъуэ щIалэр нэхъри нэхъ хьэщыкъыж хъуауэ ищIэн имыщIэжу и щхьэр зэрихьэрт: дэнэкIэ игъазэми и Iуэху хъужыртэкъым, зыхуей Iуэхур и кIэм хунэгъэсыртэкъым, къищтэр Iэпыхурт, зэпымыууэ хъыджэбзитIым егупсысырти Iэмал игъуэтыртэкъым зыр къигъанэу зыр къыхихыну. Щымыхъужыххэм, лIы Iущ гуэр я къуажэ дэсти, абы и деж кIуащ ечэнджэщыну.

ЧэнджэщакIуэ кIуэри Iуэхур зытетыр щыжриIэм, мо лIы Iущ бзаджэр хуабжьу къыхигъэплъащ щIалэм и Iуэху щхьэмыпэм. Апхуэдэу куэдрэ гупсыса иужькIэ, жэуап къритащ:

— Хъыджэбзхэм нэхъ хуэзэрей зыщIи еплъыт, пщIэну щыткъым зэ IуплъэгъуэкIэ гу зылъумыта дагъуэ зым къы­къуэкIынкIи хъунщ, хэт ищIэрэ, цIыхур къэцIыхугъуейщ. ЯкIэлъыплъи тIуми дагъуэ якIэрумыгъуатэу щытмэ, еуи тIури къашэ, нэгъуэщI Iэмал абы иIэжкъым. ЯжеIэ уи Iуэху зытетыр занщIэуи, зымыдэ къыхэкIым ун насыпщ, тIури арэзы хъууэ щытмэ, къашэ. НэгъуэщI чэнджэщ сэ уэстыфынукъым.

Хъыджэбзхэмрэ щIалэмрэ нэхъ зэрылъагъу хъуащ, зэмани дэкIащ, ауэ Iуэхур нэхъ куу хъу мыхъумэ, зыри кIэрыхуртэкъым. Щымыхъужым, хъыджэбзитIыр зэриубы­дылIэри яжриIащ игу илъыр:

— Куэдрэ щхьэгъусэншэу къыщIызигъэкIухьар фэ тIyмМи зэуэ сыфхуихьыну ара хъунт сэ. Апхуэдизрэ сымыгъуэтар тIууэ къызитыжащ, делэ сыхъуами сщIэркъым, ауэ къыфхэсхынур сымыщIэу сыкъэнащ. ИгъащIэкIэ сыфхэда­ми, зыр фыкъанэу зыр фыкъыхэсхыну апхуэдэу къару сэ згъуэтыркъым. ФхузэфIэкIынумэ, тIури зэуэ фыкъыздэ­кIуэ, фхузэфIэкIынумэ, зэрыхъунур фэ къызжефIэм седэ­Iуэнщ.

ХъыджэбзитIыр пIалъэ гуэркIэ гупсысэри, щIалэр жэ­уапыхьэ къыщыкIIуэм, арэзыуэ жэуап иратащ.

— Ди Iыхьлыхэм къызэрытхуамыдэнур тщIэрти демы­упщIыжауэ жэуап удотыр, дыарэзыщ тIури дыбдэпсэуну, зыр къанэу адрейр насыпыфIэ хъу нэхърэ тIуми зы на­сып диIэм нэхъ къыдощтэ…

ХъыджэбзитIым зэрыжаIа дыдэм ещхьу, я Iыхьлыхэм заукIыжащ, зафыщIыжащ, ауэ затхьэлэжыпами, тIури ядэIуэнутэкъым — хьэщыкъ зэхуэхъуат.

Я Iыхьлыхэр хьэрэм хъуауэ хъыджэбзитIыр ишэри, щIа­лэр кIуэжащ. АдэкIэ здэкIуэжар нэхъ IеижитIу къыщIэ­кIащ, ауэ мо щIалэ хахуэм къыбгъэдэувэу хэт сыт къы­жриIэфынт! Зыри къыжраIэфыртэкъым. ЩIалэм я уна­гъуэр хъарзынэт, фIыуэ зэхущытт, езы тIуми псалъэмакъ яку илътэкъым, псалъэмакъ дэнэ къэна, зым Iэпыхур зым къищтэжу зэдэпсэухэрт.

Ауэрэ щIалэм и ади и ани лIахэщ, езыхэми бын тIу­рытI ягъуэтахэщ. Ауэ цIыхухэм иджыри нэмыплъ къраплъырти, щIалэмрэ нысащIэхэмрэ зызэщIакъуэри щIыпIэр ябгынащ. Дахэ и Хьэщыкъ къуажэр абыхэм къатехъукIыжахэм къагъэхъуауэ ноби щыпсэууэ жаIэр.

^

НАЛО А.

Гъатхэт. Дунейр дахэт. Дыгъэми щIэщыгъуэу «Сэ нэхъ дахэрэ, нэхъ гуапэрэ дэнэ щыIэ?» жиIэу уафэгу щхъуантIэм зыщигъэкIэрахъуэрт… ДахагъкIэ абы eны­къуэкъуу щIылъэми и щыгъыныщIэхэр зыщитIагъэрт, дунейм дахагъкIэ дагъуэ зыхуигъэщIынутэкъым. Зи лъэ вакъэ изылъхьэу жылэм дэсыр губгъуэм ихьэжат. ЖьыкIэфэкIэ закъуэтIакъуэ унэ хадэм щыпэщащэхэм и нэ­мыщIарэ, сабий еджакIуэхэмрэ фIэкIа жылэм къыдэмы­наIауэ цIыхухэр лажьэрт.

Бжьыдзэ Алий и нысэ Налшык дэсыр къэкIуэжати, ныкъуэпщIэр къигъэнауэ, унэри пщIантIэри зэ пкIэгъуэ хуэмыхъужу, Дисэ къижыхьырт.

«ТаксикIэ дыкъэкIуэжынути хъуакъым»,- жиIэу авто­бусым къикIыу, Верэ, и хъыджэбзыцIэр Хъанийщ, ипхъу цIыкIур щIыгъуу, нышэдибэ къызэрыдыхьэж лъандэрэ, Дисэ емытIысэхауэ зэанэзэпхъум къакIэлъижыхьырт.

— Адыгэ шхын тIэкIу уигу къэкIакъэ, къурмэн сызы­хуэхъун си нысэ? Уэ-щэ, си Лорэ дахэ цIыкIу? — жиIэурэ къащыгуфIыкIырт.

Илъэситхум зи ныбжь ит хъыджэбз щхьэц фIыцIэ цIыкIур и анэшхуэм бгъэдэлъадэрт IэплIэ, ба хуищIын мурад иIэу, ауэ Дисэ хадэм зэрита бостей фIеймрэ бжьын зэрипщIа Iэ пхъашэмрэ щилъагъукIэ, Лорэ и анэм сабийр къыбгъэдешыжри и бостей кIэщI хужь цIыкIум йосэ­бауэ.

— Так нильзя, Лорэчкэ, ти платье испачкаешь.

— Iы-ы не хочу … я хочу бабушку обнять.

— Зыри адыгэбзэ лъэпкъ ищIэркъэ, Верэ, мы сипхъу цIыкIум?

— Хьэуэ, нанэ, зыри ищIэркъым… Мишэ идакъым: «Хуейми иужькIэ езым зригъэщIэжынщ»,- жиIэри.

— Мы дунейм нэхъ си хъуэпсапIэ щыIэтэIым урысыбзэ зыщIэ фIэкIаи, алыхьым сыкъимужэгъужар пэжу къы­щIэкIынти, мы тхьэIухуд цIыкIум урысыбзэ къригъэ­щIащ… Ауэ, ярэби, сыту фIыт, Верэ, мыбы адыгэбзи евгъэщIэжатэмэ … уи шыкурщ, ялыхь… Мы уи батинкIэ цIыкIури хэт къыпхуищэхуа, си дахэ?

— Бабушка спрашивает, кто тебе купил батинки?

— Папэ купил мне ботинки.

— А зи папэр зыхуэпсэун цIыкIу! Уи папэм укъыпачауэ урещхьщ: уи пи, уи ни, уи нэбжьыци, уи щхьэци, уи жьи, сыт емыщхьу пхэлъ дунейм? Зи папэр псэууэ сылIэн, си дахэ цIыкIу, тхьэм къытхуигъэхъу, тIасэ, тпфу, тпфу …

— Мамэ, что она плюется?

— Ничего, эта — здаровэ будишь.

— А сэ си псэ тIэкIур зышхын мыгъуэ… ялыхь, уэ уи шыкурщ, ялыхь… ар сэ сэзыгъэлъэгъуа!.. Апхуэдэ насы­пыр къызэптыну мыпшыныжыну сыт пхуэзлэжьат сэ?­ -, жиIэурэ къызэплъэкIыурэ унэм щIокIри, Алий нэхъ гу зы­лъимытэн хуэдэхэм зыхуигъазэурэ бжыхьыр ефыщIри, чыху къехь, сабий лъагъугъуафIэм зыщимыгъэнщIу къы­хуегуфIэкIыурэ, аргуэру щIэжыж-къыщIэлъэдэжурэ, зэ лэкъум игъажьэм бгъэдолъадэ, зэ джэд лыбжьэр зэIещIэ.

— Езыр къэсыжым гуфIэнкъэ!.. Къызэралъхурэ иджыри къыздэсам тIури дыщIобэгри жэщми махуэми дыпоплъэри дыщысщ… Ана, Верэ, мыр сыт бостей гъэщIэгъуэн, сымы­гъуэ! Дапщэ епта, тIасэ, мыбы?

— Мырэ заграницэм кърахащ, нанэ… Ди гъунэгъу гуэрым къыхурагъэхьати, хуэмыхъуу сэ къэсщэхужащ мин­рэ щитхукIэ,- жиIэри нысэм и бостей хьэлэмэтыщэр нэхъ гупсэхуу гуащэм иригъэлъэгъуащ. Къэруакъ плъыжьыбзэ бостеикIэр и хъуреягъкIэ пшынэку зэпэзэву зэгъэлъат.

— Угъурлы пхухъу, тIасэ, хъарзынэщ,- жиIэурэ аргуэру щIожри пхъэ къутапIэм холъадэ, гуэщым мажэ, къы­щIожыж.

Верэ абджыпс кIэлындорым и щхьэгъубжэр къызэ­Iуидзри къыIутIысхьащ, пшынэкум хуэдэу и хъуреягъкIэ зэгъэлъауэ моднэу щIа и бостейр имыупIышкIун щхьэкIэ, и щIыбагъымкIи и гупэмкIи лъэгуажьэм фIэкIыу дри­хьеярэ шэнт къызэрыгуэкIым тесу. Ауэ куэдрэ щымысу къыщылъэтыжри и бостеикIэ щIыбым еплъыжащ: шэнт тегъэщIапIэм бостеикIэр тIэкIу ихулIауэ къыщIэкIащ.

— Нанэ, уа нанэ!

Дисэ пIащIэу пкIэунэм къохыжри нартыху хьэжыгъэ зэрылъ кхъузанэ IэщIэту и нысэм къыбгъэдолъадэ:

— Сыт, си дахэ?. УзыхуейIа?.

— Нанэ, табуреткIэ фиIэкъэ? Мыпхуэдэ шэнт утетIысхьэ хъунукъым гофреищIэ пщыгъыу… Ар сщыгъуп­щэжри си гофрейр Iисраф езгъэщIащ… Плъагъурэ мыр? — ­жиIэри и щIыбыр хуигъэзащ.

— Дэнэ деж, си тIасэ, Iисраф хъуар? Си нэ мыгъуэр зэкIуэкIащи дахэ-дахэу слъагъуркъым.

— Мис, моуэ мобдей линэр Iушэ зэрыхъуар плъагъур­къэ, нанэ?

— А сымыгъуэщ, алыхь лъэщ, пэж дыдэм!.. Мис… мис мыбдейр хулIа хуэдэу хъуар пэжщ … Ана, гу лъатэну пIэ­рэ, абы?

— Ар къызыгурыIуэ еплъми! ЗанщIэу илъагъунщ, фIэ­мыкIыу!

— Ы-ы! Алыхь-алыхь! Сыту нэ жан яIэ, насып зиIэхэ!

— ФиIэ табуреткIэ, нанэ?

— Алыхь, диIэтэм, мы шэнтыщIэхэр къэтщэхуа иужь, гуэщым щIэддзэжауэ щIэлъщ, шэнт щхьэгуэжьым утетIыc­хьэ хъужын мыгъуэкъым.

— Сыт-тIэ иджы тщIэжынур? Шэнт цIыкIу хъуну пIэрэ, Верэ?

— АIэ, нанэ, си кIэр теслъафэ хъурэ, на?

— Сыт тщIэнур-тIэ иджы?.. Алыхь, Фаризэтхэ яIэ си гугъэм… Алыхь, яIэм … яIэщ тхьэ … иджыпсту къэсхьынщ, тIасэ …

Верэ къикIукI-никIукIыу кIэлындорым тетыхункIэ, и Iэпэр Iупс ищIурэ упIышкIуауэ къыщыхъуа зэтедзапIэр зэригъэзэхуэжыхункIэ, Дисэ шэнт щхьэгуэ къихьри къэсы­жащ:

— Алыхь, къыпуэзгъуэтамэ, си тIасэ! Мэ… шэнт гъуэ­зэджэ яIэу къыщIэмыкIаи, тIасэ!

Верэ шэнт щхьэгуэм и бостейр фIэубгъуауэ тетIысхьэ­жащ. Дыщэджэдым и кIэ къабзийр зыдэIуа пыIэ плъыжь дахэри, къызэрыс лъандэрэ Дисэ фIэкIа зыми зэримылъэ­гъyaм щхьэкIэ, щхьэримыхауэ щхьэрыгъыу уэрам нэщIым доплъэри щысщ. Лорэчки кIэлындорыбжэ Iyxaм кIэрыува­уэ джэдкъаз куэд зыдэт пщIантIэ щхъуантIэм доплъэ, и нэфIьщIэ дахитIыр къигуфIыкIыу, езыри къэпIейтеяуэ.

Къаз бын пщIантIэм щохъуакIуэ, къаз анитIрэ зы къа­зыхъурэ яхэту. Къаз шыр къишагъащIэхэр удз тхьэмпэ псыгъуэ цIыкIухэм къоIэри удзыр къыпача иужькIэ щIыбагъкIэ къыщхьэпредзыжыр абыи я лъакъуэ гъуэжь цIыкIу дэгъэзеяхэмкIэ елъэкъуауэурэ ерагъкIэ зыкъызэрагъэдзэкIыжри къоувыжхэр, аргуэруи удзым еIэн щIа­дзэж.

Джэдкъурт, е гуэгуш, бабыщ гъунэгъу къахуэхъуа иужькIэ, къазыхъужьыр я пашэу анитIыр йолъри я пщэ­хэр къуаншэу хэшауэ я щхьэхэр щIым еIусэу ехьэхауэ «с-с-с» жаIэурэ бийхэр Iуахури щырхэм хъупIэ къыхуа­зэу.

А гъэщIэгъуэнхэр сурэткIэ зымылъэгъуа Лорэчкэ «Ма­мэ, я хочу потрогать утят»,- жеIэри мэлъаIуэ, и анэм игъакIуэркъым.

Дисэ гуэрыр къыщIолъэдэжри мэгузавэ:

— Сэ сопщафIэ жысIэурэ мы тхьэIухуд шыр цIыкIур згъэмэжэлIа си гугъэщ, тхьэ! Мор хьэзыр хъуху, сыт ишхыну пIэрэ, Верэ? ЕупщIыт, тIасэ.

— АIэ, нанэ, абы вапше зыри ишхынукъым. Падаркэ, псо и адэм къыхуищэхуауэ си радикюлым изщ. Умыгу­завэ.

— КъызэрыкIуэрэ зы Iулъхьэ ишхакъым, на-а … Ярэ­би шкIэрышэ ишхыну пIэрэ, Верэ? ЕупщIыт, тIасэ, тхьэ уеупщIын, Верэ. Иджыпсту хывыжьри къыдэлъэдэжынущ… МахуитI мэхъу зэрылъхуэри шэджагъуэ нэужь зэрыхъуу яхуэмыубыду къафIокIуэж… ЕупщIыт, сигу гъэзагъэт, тIасэ, ишхыну пIэрэ шкIэрышэ?

— Лорэчкэ!

— Что, мама?

— Будиш кушат шк…ыы..ы… шкариша?

— А что это такое, мамочка?

— Это? ы-ы .. эта, вэпше очен сладкэ.

— Буду, мамочка, если очень сладкая.

— Ишхыну жеIэр, нанэ.

— А къурмэн сыпхухъу, сытми зыгуэр тхуэпшхащэрэт, си псэ тIэкIур зышхын… Сыту фIыт, ярэби, сыту фIыт.­ Иджыпсту къэсыжынкъэ ди хывыжьри … Сыту фIыт …

Дисэ гуфIэу щIэпхъуэжащ, хывыр къызэрымысыжым нэхъ гукъеуэ имыIэжу, и Iуэху яужь ихьэжащ, Iэуэлъауэу. Вери фIыуэ дыгъэм иригъэзыхыхункIэ уэрам нэщIым дэ­плъэурэ езэшри зыри щимылъагъум, езыри зыми къыщи­мылъагъум, Лорэчкэ и Iэпэр иубыдри пщIантIэ удзыпцIэ щхъуантIэм къыдыхьащ джэдкъазхэр къызэшхыдэкIыу, гъуэгу пщIантIэр дэнэ къэна, хадэбжэр Iуихри хьэсэ ны­къуэпщIэм еплъащ, нэгъуэщI къэкIыгъэхэри зэпиплъыхьащ, тетIысхьэпIэм тетIысхьащ.

Къуажапщэм къыщыщIэдзауэ къуажэкIэм нэс уэрам занщIэм зы цIыху, сабий, лIыжь, фызыжь, закъуэтIакъуэ инэмыщIа, дамылъагъуэу дыгъэр къухьэным нэблэгъэху, зэанэзэпхъур уэрамым тесащ. Абы хэту хыв гъуахъуэ макъ зэкIэлъигъэпIащIэу къуажапщэмкIэ къыщыIуащ: уэрам сабэр уафэм нэсу и щIыбагъым иту, и щхьэр егъэзыхауэ, зы хыв домбей уэрамыкум иту хьэмкIэу къежэхырт.

— «Дисэ и хывыр къокIуэж»,- къицIыхуащ хывыр Верэ.

— Вот она буйволь нанэ, Лорэчкэ!

— Какой он большой и черный!

3и нэм лъы къытелъэдауэ, зи шкIэм тегужьеикIауэ къэкIуэж хывым щхъуэкIэплъыкIэ мыцIыхур щилъагъукIэ, ищIэнур фщIэртэкъэ!

УзижэгъуэнитIым и махуэщ абы ищIар: хыв губжьар уэрамыкум иуващ, къэплъащ, адрей уэрамыбгъум нэс пхэкIэ икIуэтщ, къилъри хывыр къезэуэну зи пщIыхьэпIэ къэмыкI фыз хьэщIэ бэлэрыгъар бжьакъуэпэкIэ зэридзэу щIидзащ. Хъыджэбз цIыкIур кIийуэ пщIантIэм дэлъэдэжри Дисэ къигъэпхъэращ. Ауэ, Диси, Дисэ и гъущI гуахъуэри, лIыжь-фызыжь къызэхуэжэсахэри къыфIэмыIуэ­хуу, хывым фызыр яфIиукIыу хуежьащ.

Верэ ажал нэрылъагъум къезыгъэлар и бостейр щри­гъэдым щыгъуэ, и лIым едаIуэу моднэ ныкъуэу иримыгъэ­щIу, моднэ нэс зэрыригъэщIар — и бостей щIыбым бжьа­къуэ дэIупIэ зэрыхуригъэщIар арщ. Хывым зридзэурэ ны­бэгукIэ щIым зыхэзыIуба фызым, насып иIэти, бостеикIэм хывыбжьэр фIэнэри бостей моднэр бжьэкIэ щихащ, и бжьэм фIэна шынагъуэм езауэу хывыр щIэпхъуэри фыз ныкъуэтIэщIыр куэбжэпэ сабэм къыхэнащ. Абы хэту лэ­жьакIуэ къикIыж цIыхухэри къызэхуэжэсри Муштэхьид и фызыр унэм щIахьэжащ, колхоз машинэри къагъэсри Налшык больницэм къашэжащ. Ар и хэкIыжыкIэу, хыв лъхуам и зэранкIэ, Верэ и заграничнэ бостей моднэр ямы­лъагъуу къуажэ хъыджэбзхэр хэкIыжащ. Лорэчки шкIэ­рышэ имышхыу и анэм и гъусэу яшэжащ.

Хывым ищIа фэбжьыр Алий жраIэжри, уоху, алыхь: хывыp yукIыным къеблагъэ, Iейуэ иукIащ, ауэ щIаукIар хывым иджыпсту уеупщIами ищIэркъым: бостей зэфIит­хъар езым нэхърэ зэрынэхъ лъапIэри, илъэситху лъандэ­рэ къыдэмыхьэжа нысэр лIэнкъэнэну зэригъэщтари иджы­ри ищIэркъым.

Нобэ лъхуарэ ирихьэлIэу щытмэ, «сызытраукIар мы­рат» жиIэу укъигъэнэнукъым, Верэ и бостейм хуэдэ пщыгъ­мэ. Сыт епщIэн? — апхуэдэу къигъэщIащ хывыр.

Вери тхьэмахуэ дэмыкIыу дыркъуэ къытемынэу хъу­жащ, ауэ къуажэм щыкIуэжкIэ дэнэ къэна, къалэм щы­дэткIи моднэ бостей хущимытIэгъэжу тхьэ еIуэ и лIым.

11. ГУРЬIIУЭГЪУЭЩ

НАЛО А.

Паркым зы цIыхубз гъэщIэрэщIа гуэр итт, къабзий кIыхь гъэщIэгъуэн гуэрхэмкIэ гъэдэха пыIэ хужь ин гуэ­ри щхьэрыгъэсауэ.

Абы и нэкIу егугъупэу лам ауаныгъэ хэлъу зы гуфIэ­кIэ гуэрым тету, езым хуэдэу зыщымыхуэпыкIауэ аллеем щызекIуэ цIыхухэм яхэплъэрт. И IэплIэм ис джэду фIы­цIэм емыплъурэ, фIэмыIуэху щIыкIэурэ, Iэ дилъэу цIыху­бзыр щытт. Ар, дауи, зыгуэрым поплъэ икIи абы и щыты­кIэм, зэрымыгузавэм къаIуатэ а зыпэплъэ цIыхур къызэ­рыкIуэным абы шэч лъэпкъ къызэрытримыхьэр.

НыбжькIэ мыщIалэжу, ауэ иджыри хэмыкIуэтэщауэ зы цIыхубз гуэр, и Iэблэм мазищ зи ныбжь сабий жея те­лъу, паркым къихьащ. Фызым и нэкIур фагъуэми, япэм иIа дахагъыр фIэкIуэдыпатэкъым.

И теплъэ эакъуэми, зи плъыфэр щIэкIа, ауэ иджыри гуакIуэ Iупэхэми, и нэ фIьщIэшхуэ нэщхъейхэм къурашэу къыщхьэщыт набдзэ дахащэми — псоми къаIуатэрт и щIалэгъуэм ар гуакIуэу зэрыщытар. Ар зыгуэрым нэкIэ лъы­хъуэрт, ауэ и плъэкIэм а нэщхъеифэр текIыртэкъым. Абы зэуэ къилъэгъуащ пыIэ щхьэрыгъыу, джэдури зи Iэблэм тесу щыт цIыхубзыр. Абы зэрыIуплъэу, фызым лъы къы­щIыхьэжащ: и Iупэхэр зэтрикъузащ, бауэкIэщI къызэры­хъуар къыуагъащIэу и пэщхъын цIыкIухэр зэкIэщIэкI-­зэкIэщIыхьэжу хуежьащ, набдзэ фIыцIэ арыншэуи къуан­шэхэм нэхъри заукъуэншащ, и нэ нэщхъей фIыцIэшхуитIри апхуэдизкIэ къызэщIэнати, зи ишэгъуэ хъуа хъыджэбзхэр къефыгъуами емыкIутэкъым, апхуэдизкIэ гуащIэу ахэр къэлыдауэ пыджэрти, езы ажал дыдэр фIэлIыкIынт.

ПыIэ зыщхьэрыгъ цIыхубзми абы гу лъитащ. Ауан­шыгъэ зыхэлъ гуфIэкIэр зэуэ текIащ, цIыху блэкIхэм еплъыныр къигъэнащ, дыгъэ къухьэм еплъу, фыз къакIуэр имылъагъуфэ зытригъауэри увыжащ, джэдуми къытелъэ­щIыхь Iэпэхэм я гуапагъэм зыщихъуэжым, зи IэплIэ исым зыгуэр къызэрыщыщIар къищIэри, нэхэр къызэтрихри зи­плъыхьу хуежьащ.

КъызэрыкIуэм и псынщIагъым химыгъахъуэу къакIуэу­рэ, сабий зыIыгъ фызыр абы и деж къызэрысу сэмэгу­рабгъумкIэ зигъазэри зэрылъэкIкIэ цIыхубзым и напэ сэмэгум еуащ, и Iэпхъуамбэхэм я дамыгъэр тридзэу.

Шляпэ хужьыр къыщхьэрылъэтри аллее сабэм ирижащ, лъэужьитI къигъанэу, джэдури, къэхъуар къыхуэмыщIэу, зэуэ щIым къелъыхащ, ауэ, пыIэ ежэжьар щилъагъум, къыдэджэгуу къыфIэщIри, дэлъей, къелъыхыу пыIэм кIэ­лъыщIэпхъуащ; цIыху блэкIхэм къэхъуар къагурымыIуэу цIыхубзыр къаувыхьу щIадзащ, сабий зыIыгъ фызыр Iуэ­хум зыри химыщIыкI хуэдэу, мыпIащIэу, а зэрыкIуэм хуэдэурэ, и гъуэгу хигъэщIу ежьэжащ, и сабий жейри къэуша­къым.

Аллеем джэдум къыщрихуэкIыурэ сабэм иуа, хужьы­гъэ зыхэмылъыж и пыIэр къищтэжри, зы псалъи жимыIэу, цIыхубзыр чыпэм хыхьащ.

«ФIыщэу зылъагъуу» зезыхьам къыщыгъупща джэду фIыцIэри, гупсысэу зы тэлайкIэ щытри, къэзыгъанэу ежьэ­жам и лъэужьымкIэ иунэтIащ.

Къэхъуа псори зылъэгъуауэ, мыбы и гъунэгъуу щыс лIыжьми газет ныкъуэеджэм щIидзэжри куууэ щатэри жиIащ: «3ы псалъэ жимыIами, гурыIуэгъуэщ»,- жи­Iэри.

3и Iуэху хэмылъхэм къэхъуа Iуэхур гуауэ ящыхъуауэ, пыгуфIыкIхэри, щхьэж и Iуэху яужь ихьэжащ.

Скачать 1,59 Mb.

страница 3/6
Дата конвертации 23.10.2013
Размер 1,59 Mb.
Тип Документы

автор: Канукоева Мадина Суфьяновна

Учитель кабардино-черкесского языка МКОУ “Гимназия №13”

Адыгэ 1уэры1уатэ (Устное народное творчество адыгов)

Адыгэ 1уэры1уатэ  5кл
Дунейм зы лъэпкъи тету къыщ1эк1ынкъым, ц1ык1ухэ, зи 1эры1уатэ зэзмыгъэпэща, ар зимы1э, ар зи гъащ1эм къыщызымыгъэсэбэп. Нобэ дэ ди зэ1ущ1эр зытеухуар адыгэ 1уэры1уатэрщ. 1уэры1уатэм хохьэ: псалъэжьхэр, нэщэнэхэр, псысэхэр, шыпсэхэр, нарт эпосыр, хъыбархэр, таурыхъхэр, уэрэдхэр, къуажэхьхэр. Ахэр псори зэхэзылъхьар народырщ. Зы щ1эблэм зэхилъхьам къык1элъык1уэм зыгуэр хилъхьэм дыщ1игъуурэ ди нобэм къэсащ.

  1. Адыгэ 1уэры1уатэм щ1ып1эшхуэ щаубыд псалъэжьхэм. Псалъэжьхэм я къалэныр щ1э, гъэщ1эгъуэн, губзыгъагъэ, 1ущыгъэ гуэр ц1ыхухэм къыхуа1уэтэн къудейкъым, ат1э къэхъу щ1эблэщ1эр, фэ ц1ык1ухэр, ф1ым, пэжагъым, захуагъэм, л1ыгъэм, гущ1эгъум хуагъасэ, хьэл-щэн нэхъыф1хэр хапщэ, щ1эпхъэджагъэм, ц1ыхугъэншагъэм  щахъумэ. Иджыпсту ц1ык1ухэм дыщагъэгъуэзэнущ адыгэ псалъэжьхэм (1, 3, 6 –нэ классхэм щ1эс еджак1уэхэм)

Дыщэр и 1эпэм къыпощ. Зэ1усэм псэ хелъхьэ. Лэжьэным хэзагъэр – щ1эныгъэми хозагъэ. Лэжьыгъэм уегъэлъап1э, щхьэхынагъэм уегъэпуд. Улажьэмэ лыжь пшхынщ, умылажьэмэ лажьэ бгъуэтынщ. Ц1ыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ. Щ1ым зы ептмэ щэ къуетыж. Бзу пэтрэ, абгъуэ ещ1. Дыжэф пц1анэ хъуркъым. Бзур зы1этыр дамэщ, ц1ыхур зы1этыр акъылщ. Жьым щытхъуи щ1эр къащтэ. Псыпэр зэрыжэм, псык1эри ирожэ. Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуэзэжынщ. Ф1ым ф1ы пок1уэри, 1ейм 1ей пок1уэ. Щ1эр жьы мэхъури, жьыр щ1э хъужыркъым. Нэхъыжьыр гъэлъап1и уи щхьэр лъап1э хъунщ. Гупсыси – псалъэ, зыплъыхьи т1ыс. Зи нэхъыжь еда1уэ и 1уэху мэк1уатэ. Псэр щэи, напэр къэщэху. Нэмыс пщ1ымэ, уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. Ц1ыхум и ц1эр езым зыф1ещыж. Нэмыс здэщымы1эм, насыпи щы1экъым. Нэмысыншэр – насыпыншэщ. Е пщ1ауэ ф1ы ущымыгугъ, ф1ы пщ1ыуи ущ1эмыфыгъуэж. Нэхъыжь к1элъыджэркъым к1элъок1уэ. Хьэщ1эр гъаф1э, ц1ыхуф1ыр лъытэ. Нэхъыжьыф1 зи1э нэхъыщ1эф1и и1эщ. Сабий зэрымыс унагъуэр насыпыншэщ. Сабийм насып къыдок1уэ. Уи анэ къыбжи1эм еда1уэ, уи адэ къыбжи1эр гъэзащ1э. Уи адэ-анэм яхуэпщ1 нэмысыр уи быным къыпхуащ1ыжынщ. Ук1ытэ зи1эм насып и1эщ. Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ. Жьэк1э маисэщ, 1эк1э сэмэгущ. Жьэры1эзэ 1эпэзадэ. И зыгъазэ и мазэщ. Хуэмыху унафэ щ1ынк1э 1эзэщ. Апрелыр мэлыжьыхьщ. Апрелыр мэл шхыгъуэщ. Гъатхэ дыгъэм к1агъуэпск1э уегъэпск1ри, бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрек1э. Гъатхэ дыгъэм ф1амыщ1эпс еутхри, бжьыхьэ дыгъэм сэхусэплъ еутх. Гъатхэ уафэ гъуанэщ. Гъатхэ унэ гъуанэщ. Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым. Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж. Гъатхэм пасэу пщ1эр, бжьыхьэм игъуэ мэхъу. Гъэм и зы махуэм щ1ымахуэм уегъашхэ. Гъэмахуэ тхьэмахуэр щ1ымахуэ гъуэмылэщ. Гъэмахуэм къыумылэжьар щ1ымахуэм бгъуэтыжыркъым. Гъэмахуэм умыгъэт1ылъа, щ1ымахуэм къэпщтэжыркъым. Щынащхьэ плъагъумэ, гъэмахуэщи, 1этащхьэ плъагъумэ, щ1ымахуэщ. Зы пц1ым пэжищэ щ1ехъумэ. И к1эм упытми, гупым яхэт. Зэгуры1уэ я 1уэху псынщ1эщ. Гъусэ мыхъумыщ1э нэхърэ, гъущ1ыпэ. Гужьеигъуаф1э унэхъугъуаф1эщ. Жьант1эм ущ1эмыкъу, пхуэфащэмэ, къыплъагъэсынщ. Ц1ыху хьэлэлыр 1умахуэщ. Куэд жызы1э нэхърэ куэд зыщ1э. Мащ1эр ф1ыщ1э зымыщ1ым куэдри ф1ыщ1э ищ1ыркъым. Зи п1алъэ умыщ1э шык1э утыку уимыхьэ, гъуэгу утемыхьэ. Гъунэгъу зыгъэпудым пудыныгъэ егъуэт.

Егъэджак1уэ:

  1. Ди адыгэ 1уэры1уатэм куэду хэтщ псысэхэри шыпсэхэри. Ахэм лъабжьэ яхуэхъуар ц1ыху гъащ1эрщ. Псэущхьэхэм, къэк1ыгъэхэм я гугъу ящ1к1эрэ, псысэхэм дагъэлъагъу ц1ыхухэм я псэук1эр, я зэхущытык1эр, я хьэл-щэнхэр, я хъуэпсап1эхэр. Иджыпсту дэ дедэ1уэнщ зы шыпсэ, зыдгъэпсэхунщ.

Еджак1уэ Къуэдзокъуэ Луизэ /3Акл./:  «Къулбацицэ»

Щы1ащ- псэуащ зы щ1алэ ц1ык1у Къулбацицэк1э еджэу. Ар езыр…щ1алэф1т жып1а? Ауэ сытми щ1алэф1т, щ1алэф1 и щ1алэф1ыжт!

    Ат1э, еуэщ – е1эщ аби, зэгуэрым Къулбацицэ и ныбжьэгъу ц1ык1ухэр зыщ1игъури мэрак1уэхьэ к1уащ.

К1уэм-лъейм, к1уэм-лъейурэ, мэзыбгъум деж щылъ губгъуэшхуэм нэсахэщ.

Абы сытым хуэдэ мэрак1уэ щы1эт, плъыжьрэ-плъыжьру, 1эф1рэ-1эф1у, езыр пшхы пэтми зумыгъэнщ1у.

     Арати, щ1алэ ц1ык1ухэр мэрак1уэм дихьэхри к1ыф1 къатехъуащ. К1ыф1 къатехъуэри унэм къызэрык1уэжыну гъуэгур къыхуэмыгъуэтыжу гъуэщащ. 1эджэрэ гъынэнаи Къулбацицэ и гъусэхэр, нэхъыбэжрэ къак1ухьаи, сытми, мэз гъунэм 1уту унэ пхашэжь ц1ык1у гуэр ирихьэл1ащ, и щхьэгъубжэм нэху къыдидзу. Къэгуф1эжхэри джахэщ. Джэмэ зы фызыжь ц1ык1у къыщ1ок1ри, къащыгуф1ык1ыпэурэ, щ1ешэ, егъашхэри егъэгъуэлъыж.

      Ц1ык1ухэр жеижа хъункъэ щыжи1эм, уд фызыжьым и дзэхэр илъу щ1едзэ, зэрызурэ ишхыну. Къулбацэцэ жеиртэкъым. Абы гу лъитэри уд фызыжь ц1ык1ур щ1эупщ1ащ:

    – Ар сыт, щхьэ умыжейрэ?.

    – Сэ, – жи Къулбацицэ, – иджы  хуэдэхэм деж си анэм жэмыкуэ схуищ1ырти, сигъэшхырт.

   – Ар гугъу-т1э! – къыпогуф1ык1 уд фызыжь ц1ык1ур.

Жэмыкуэ хуабэ хуещ1, ар ирегъэшхри егъэгъуэлъыж. Жеижакъэ щыжи1эм, ц1ык1ухэм ящыщ зым бгъэдохьэ уд фызыжьыр.

    Къулбацицэ зегъэпсчэу1у.

   – Ар сыт, щхьэ умыжейрэ? – къоупщ1 уд фызыжь ц1ык1ур.

   – Сэ, – жи Къулбацицэ, – иджы хуэдэхэм деж си анэм джэд лыбжьэ схуищ1урэ сигъэшхырт.

      Гъумэт1ымэурэ джэд лыбжьэ ещ1э, ар Къулбацицэ ирегъэшхри егъэгъуэлъыж.

  Зыкъом дегъэк1ри уд фызыжь ц1ык1ур зэщ1одэ1ук1. Къулбацицэ жей нэпц1 зищ1ауэ хэлът и псэр 1ук1ауэ. Ц1ык1ухэм ящыщ зым  уд фызыжь ц1ык1ур щыбгъэдыхьэм, Къулбацицэ нэхъ иныжу зегъэпсчэу1у.

    – Ар сыт, щхьэ умыжейрэ? – же1э уд фызыжьым, къэгубжьарэ жьыр иримыкъуу.

   – Сэ, – жи Къулбацицэ, – иджы хуэдэхэм деж си анэм псынэм кхъузанэк1э псы къысхурихыурэ  сригъафэрт!

   – Аррр гугъугъу-т1э! – и пэм  жьы кърихужыркъым уд фызыжь ц1ык1ум.

   Абы и гъущ1 кхъузанэр къещтэри псынэм мак1уэ, псынэ 1уфэм 1уот1ысхьэри псы кърегъахъуэ, къригъэхъуар йожыж, кърегъахъуэ, къригъэхъуар йожыж. Апхуэдэурэ уд фызыжь ц1ык1ум нэху къытещхьащ. Къулбацици зыхуеиххэр арати, и гъусэхэр къигъэушри, мак1уэ- мэц1ыв, къыщ1эпхъуэжахэщ.

    Уд фызыжь ц1ык1ур нобэми ныжэбэми 1усщ, жи, псы 1уфэм, и кхъузанэм къригъахъуэр йожыжри.

Егъэджак1уэ:

  1. Лъэпкъ 1уэры1уатэм зыубгъуауэ ущыхуозэ нэщэнэхэми. Нэщэнэхэм щызэхуэхьэсащ адыгэхэм я 1уэху еплъык1эр, зэхэщ1ык1ыр, дунейр къазэрыщыхъур, блэжьынк1э 1эмал зимы1эхэр е пщ1эм кърик1уэнухэр. Ди нэщэнэхэм драгъэдэ1уэнщ 1, 3 классым щ1эс еджак1уэхэм.

Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъуну жа1эрт.

Бэлагъым уебзеймэ бзэгузехьэ уохъу жа1эрт.

Бжит1ым я кум уитыну ф1ыкъым, жа1эрт.

Бзу абгъуэ уи1эбэмэ, 1э бэгу уохъу жа1эрт.

Вакъэм зи1убмэ ф1ыкъым жа1эрт.

Вындыжьхэр зэрызехьэмэ, джэгумэ, уэлбанэ хъунущ, жа1эрт.

Гъавэм утеувэмэ берычэтыр хок1 жа1эрт.

Гъуэгурык1уэм и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым.

Гъубж махуэм 1уэху яублэркъым гъуэгу техьэркъым.

Гъуджэ п1эщ1экъутэмэ ф1ыкъым, жа1эрт.

Гъунэгъур бий пщ1ыну ф1ыкъым, жа1эрт.

Гъущ1ыпэ къэбгъуэтыну ф1ыщ.

Джэдум и щ1ыб маф1эм хуигъазэмэ, уае хъунущ жа1эрт.

Джэдур жыхапхъэм еп1эстхъмэ, хьэщ1э къэк1уэнущ, жа1эрт.

Жэщыр бзыгъэмэ, щ1ы1эщ, уфамэ, пшагъуэмэ, хуабэщ, жа1эрт.

Уэсыр куумэ гъэр ф1ы мэхъу, жа1эрт.

Япэу уэс щыплъагъук1э хъуэхъуэн хуейщ жа1эрт.

Егъэджак1уэ: Адэк1э дедэ1уэнщ псысэ гъэщ1эгъуэн.

Еджак1уэ Лат Данэ /3Акл./ «Ужьэ псыгъуэрэ Уашхэ нэк1ут1эрэ»

Ужьэ псыгъуэрэ Уашхэ нэк1ут1эрэ зэныбжьэгъуу, зэгъунэгъуу мэзым щыпсэухэрт. Ужьэм лэжьэн ф1эф1т. Уашхэр щхьэхынэу шхэныр зи щ1асэт. 

Зы махуэ гуэрым Ужьэр Уашхэм деж к1уэри елъэ1уащ:

– Си гъуэм псы имылъэдэн щхьэк1э, щ1ыхьэп1эм зыгуэр 1узмыщ1ыхьу хъунукъыми, укъыздэ1эпыкъуамэ арат.

Лэжьэн зи жагъуэ Уашхэм зрилъэфыхьщ-зрилъэфыхьри, жи1ащ:

-Уей, Ужьэ, си гъуэми апхуэдэ дыдэу уэшх къолъадэ, зыгуэр 1усщ1ыхьынути укъезджэу узыдэзгъэ1эпыкъун си мураду аратэмэ.

-Хъунщ-т1э,- жи1ащ бзаджагъэ зигу къэмык1 Ужьэм, – уи 1уэхур нобэ, сысейр пщэдей зэф1эдгъэк1ынщ.

Уашхэм ищ1эшхуэ щымы1эу, Ужьэм зыкъримыгъэлыжу, пщ1энт1эпсыр къыпыхуу  эщ хъуху лэжьахэщ.

– Уей, Ужьэ, хъарзынэу укъыздэ1эпыкъуамэ. Сэри пщэдей сыбдэ1эпыкъужынщ.

Арщхьэк1э, Ужьэм, Уашхэм зэрызыщ1ригъэхыр къыгуры1уати, жи1ащ:

– Хьэуэ, Уашхэ, мы лэжьыгъэм хъарзынэу нобэ уи дей зыщезгъэсащи, иджы си закъуи схузэф1эгъэк1ыжынущ.

Арати, Ужьэр ежьэжащ. Ет1уанэ махуэм жьыуэ къэтэджри, и гъуэм уэшх къимышхэн хуэдэу игъэбыдащ. Уашхэр махуэ псом къыкъуэк1акъым. Ужьэр егупсысащ: «Къызэрыздэмы1эпыкъуам щхьэк1э ук1ытэжагъэнщ, ахъумэ, нэгъуэщ1 мыхъуми, зэрысщ1ам еплъыну пщыхьэщхьэм къек1уэк1ын хуеякъэ?»

Ет1уанэ махуэми Уашхэр къыщемык1уэк1ым, Ужьэр езыр и гъунэгъум деж к1уащ. Щ1ыхьэмэ, Уашхэр щэ1уу, гызу, сымаджэу хэлът.

– Мыр сыт, си ныбжьэгъужь, къыпщыщ1ар?

– Уей, сымыщ1э. хьэлъи семы1а, щ1ы1и сыхэмыхьа, ит1ани си ныбэр къре1уэнт1ык1.

– Уэмызэгъын гуэр пшхауэ п1эрэ?

– Уей, апхуэдэ сшхауи сымыщ1э. Нышэдибэ лы гъэва сшхыри лэпс тесфыхьыжащ, ит1анэ лы гъэжьа, джэш фалъэ, кхъуейжьапхъэ тепщэч, псыхьэлывэ т1эк1у- аращ сшхари нышэдибэ лъандэрэ. Иджы шэджагъуашхэри къэблэгъащи, схуэшхын1ауэ си ф1эщ мыхъу, 1ейуэ си ныбэр мэуз.

1уэхур зытетыр къызыгуры1уа Ужьэм жи1ащ:

– Си ныбжьэгъужь, сэ уэ 1эзэгъуэ пхуэхъун сщ1эркъым, ауэ Жьындур куэдым хуэ1эзэу жа1эри, къыпхуэсшэнщ.

Жьындур къыщеупщ1ым, Уашхэм абыи Ужьэм жри1а дыдэр хуи1уэтащ.

– Уэ уи узыр уз шынагъуэщ, – жи1ащ Жьындум. – Ар  щхьэхынэ узымрэ ныбаблэ узыымрэ пхузэхыхьэжауэ аращи, зы хущхъуэгъуэ ф1эк1 и1экъым – уи 1эпкълъэпкъыр зэрыгъэк1. Ар жи1эри, Жьындур лъэтэжащ.

– Сыт абы жи1ам къик1ыр? – къыгуры1уакъым Уашхэм.

– Абы къик1ыр сэ къыбгурызгъэ1уэнщ, къэтэджи си гъусэу нак1уэ, – жи1ащ Ужьэм. 1ыхьсыхьрэ щхьэхынэу, ерагъмыгъуейк1э къызэф1эувэри, Уашхэр ужьэм и ужь иуващ.  Ужьэм и гъуэм нэсхэри, Ужьэм пхъэх къыщ1ихащ.

– Мы пхъэхым и к1апэр къэубыди, мо жыгыр пыдгъэх.

Уашхэм сыт ищ1энт, иубыдщ пхъэх к1апэри жыгыр пахащ.

– Мес мори къэдмыгъауэу хъунукъым, – жи1ащ Ужьэм ик1и аргуэру зы жыг пахащ. Уашхэм и 1эпкълъэпкъыр нэхъ зэрык1ырт, нэхъ псынщ1э хъурт. Апхуэдэурэ, т1уми щ1ымахуэр ик1ыху зрикъунум хуэдиз пхъэ гъэсын ягъэхьэзыращ. Уашхэм, езыр икъук1э ешами, и ныбэ узри хъужащ, и узыр къызыхэк1ари къыгуры1уэжри, щхьэхынэнымрэ ныбаблэнымрэ зыхинащ. Иджы т1ури, зым 1эпыхур адрейм къищтэжу, зэгъунэгъуф1у мэпсэу.

Егъэджак1уэ:

  1. Нарт эпосыр

   Егъэджак1уэ: 

  1. Псынщ1эрыпсалъэхэр – 1уэры1уатэм и жанр ц1ык1ухэм ящыщ зыщ. Фэ фхуэдэ сабийхэр игъэджэгуу ик1и тэмэму псалъэу иригъасэу народым къагупсыса 1эмал гъуэзэджэщ псынщ1эрыпсалъэхэр. Фэ, ц1ык1ухэ, ахэр нэхъыбэу жыф1эху, анэдэлъхубзэр дахэу, шэрыуэу вгъэбзэрабзэнущ. Дэ дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм жа1эну яф1эф1 псынщ1эрыпсалъэхэм.

Мо шк1э бур ди шк1э? Мо шк1э бур ди шк1э?  Мо шк1э бур ди шк1э?

Пыжь пызу пыту щыту иту жыг Пыжь пызу пыту щыту иту жыг  Пыжь пызу пыту щыту иту жыг.

1эпхъуалъэ ф1ыц1э, псырылъэ ц1у, псырылъэ ф1ыц1э 1эпхъуалъэ ц1у.

П1ыт1инэрэ П1ыт1ут1эрэ п1ырып1 зэхап1ыт1э.

Хурсэ хурсэ хурсанэ, санэху зэраза кхъузанэ.

Мыщэр пэщащэурэ мащэм ихуащ.

Егъэджак1уэ: Адэк1э псысэ дедэ1уэнщ.

Еджак1уэ Чэртбий Астемыр /3Акл./: «Чэнджэщ» 

Щак1уэр мэзым къик1ыжырт. Зыри къищэк1уатэкъыми, и щхьэр къыф1эхуат. Къыздэк1уэжым, Уэгунэбзу ц1ык1у гуэр къиубыдащ.

-Сут1ыпщыж, -жи1ащ  Уэгунэбзум. – Сыбут1ыпщыжмэ, игъащ1эк1э къыпщхьэпэн чэнджэщу щы уэстынщ.

Щак1уэр арэзы хъуащ.

-Япэ чэнджэщыр мыращ: блэк1ам ущ1эмыфыгъуж.

-Хъунщ, – жи1ащ Щак1уэм. -Ет1уанэри къызже1э.

-Ар щыбжес1энур сыбут1ыпщыжмэщ.

-К1уэ, – жи1эри иут1ыпщыжащ. Жыгым пыт1ысхьэжауэ, Уэгунэбзур къопсалъэ:

-Ет1уанэ чэнджэщыр мыращ: пц1ыр уи ф1эщ умыщ1.

-Хъунщ, жи1ащ Щак1уэм. – Ещанэри къызже1э.

-Ещанэм зэк1эухуэмып1ащ1э.Уэ пщ1эуэ п1эрэ укъызэрызгъэпц1ар? Си хулъэм джэдык1э хуэдиз хъууэ дыщэ к1анэ илъщ. Ар уи1амэ,игъащ1эк1э пхурикъунт.

-Щхьэ узут1ыпщыжат! Укъысхурикъуащ! Дыщэм сыхэк1ыжащ! – жи1ащ Щак1уэм. – Ещанэм сегъэда1уэ.

-Хьэуэ, абы ухуейкъым уэ, – жи1ащ Уэгунэбзум. – Т1у бжес1ати, асыхьэту пщыгъупщэжащ.”Блэк1ам ущ1эмыфыгъуж” бжес1ати, сызэрыбут1ыпщыжам ухущ1егъуэжащ. “Пц1ыр уи ф1эщ  умыщ1″бжес1ати, абы уедэ1уакъым. Сэ езыр джэдык1э  хуэдизщ сызэрыхъур, си хулъэм джэдык1э  хуэдиз дыщэ к1анэ ихуэн? Нэгъуэщ1чэнджэщ  уэ пхуэфащэкъым.

Ар жи1эри Уэгунэбзур лъэтэжащ. Щак1уэри, и щхьэр ф1элэлу,къэк1уэжащ и унэм.

Егъэджак1уэ:

6.Ныбжьыщ1эхэм я гупсысэм и жанагъыр къуажэхьхэм иризэхагъэк1ыу щытащ, абыхэм дэ къыдагъащ1э лъэпкъым и акъылыр, и гулъытэр, и ф1эщ хъумрэ къыф1эщ1ымрэ здынэсыр. Ц1ык1ухэ, къэфщ1эну фыхуей къуажэхьхэр? Феда1уэ-т1э.

  1. Зыр мажэ, зыр мэжей, зыр мэджэгу (Псы, мывэ, бдзэжьей)
  2. 1эдэуадэншэу псым лъэмыж тезылъхьэ (мыл)
  3. Ди бжыхь лъабжьэ хьэ дзакъэрей к1эщ1эсщ (шыпсыранэ)
  4. Т1ур къоплъэ, т1ур къода1уэ, т1ум урахьэжьэри йожьэж (нэ, тхьэк1умэ, лъакъуэ)
  5. И тхьэк1умэр дзасэ, и пэр сыринэ, и нэр вагъуэ, мапк1э, малъэ, мэбгъунлъэ, мэлъей (тхьэк1умэк1ыхь)
  6. Уеплъмэ, гъуджэ, уеджэм дэгу (мыл)
  7. Ббгъэдэмык1 лъакъуэ к1ыхь (ныбжь)
  8. Щабэрык1уэ мэз к1уэрей (1эжьэ)
  9. Дунейр зыгъэнэху, псыр зыгъэхуабэ (дыгъэ)
  10. Зи к1эр зылъэфу, зи фэр зи бий (бажэ)
  11. Щыгъын хыщ1 зыщыгъ, щыгъыну щыгъри щ1ы1уншэ, хэт ит1эщ1ми, егъагъ (бжьын)
  12. Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ (набдзэ)
  13. Щхьэнтэ щ1ы1ум щыпырхъ, 1энэ щ1агъым щытхъэж (джэду)

 Егъэджак1уэ: Иджы зы шыпсэ дедэ1уэнщ.

Еджак1уэ Ф1эщмыхъу Иринэ /3Бкл./: «Кърумрэ Бажэмрэ»

Кърур Бажэм и гъуащхьэм деж къыщет1ысэхащ. Бажэр гъуэм къижащ. 

– Къеблагъэ, Къру ц1ык1у, хьэщ1э утщ1ынщ.

-Уи благъэ куэд ухъу, – жи1ащ Кърум.

– Нэгъабэ бжьыхьэ лъандэрэ услъэгъуакъым. Дэнэ ущык1уэдар?

– Гъуэгу сытетащ, -жи1ащ Кърум. – Хым адрыщ1к1э сыщы1ащ.

– Хым адрыщ1к1э узыхьын акъыл уи1э уэ? –игъэщ1эгъуащ Бажэм.

– Си1эщ, – жи1ащ Кърум, – хым адрыщ1к1э сызыхьыни сыкъэзыхьыжыни.

– Сыноплъри угуащ1эмащ1э гуэрщ, угъуапэкъым, упщамп1экъым. Уи щхьэр си к1эным хуэдизщ зэрыхъур. Дэнэ къипха апхуэдэ акъыл? Пц1ы къысхуэбупс хъунщ, – и ф1эщ хъуакъым Бажэм.

– Хьэуэ, пхуэзупсыркъым, – жи1ащ Кърум. – Бжьыхьэ къэс хым сызэпрок1, гъатхэм сыкъызэпрок1ыж.

– Тобэ, тобэ! А уи щхьэжь ц1ык1ум апхуэдиз акъыл илъ?

– Сызрикъун илъщ, – жи1ащ Кърум, – хым сызэпрызыхыни сыкъызпрызыхыжыни.

– Абы щыгъуэм, – жи1ащ Бажэм, – мы дунейр хъурейуэ къызэрыск1ухьын акъыл си1э хъунщ сэ. 1эмалищэрэ зырэ зыщ1э Бажэм и ц1э зэхэпхакъэ?

– Зэхэсхащ, – жи1ащ Кърум. 

– Ар сэращ жыхуа1эр: 1эмалищэрэ зырэ сощ1э сэ!

– И хъер улъагъу, – жи1ащ Кърум, зиплъыхьурэ.

– Щхьэ зыпплъыхьрэ? – гузэващ Бажэр.

– Щак1уэр къок1уэ.

– Емынэм къихурэ! – жи1ащ Бажэм, – къак1уэ, си гъуэм къипщхьэ: зыщхьэщыдгъэк1ынщ.

Кърур Бажэм и гъуэм ипщхьащ. Щак1уэр къэсащ. Кърум и к1эр гъуэм къищырти, щак1уэм иубыдащ.  – Бажэм и гъуэм щхьэ уипщхьэрэ,  Къру ц1ык1у? Дзыхь хуэпщ1 хъурэ Бажэм?

Кърур бажэгъуэм кърилъэфри, зригъэт1ылъэк1ащ щак1уэм. Кърум л1а нэпц1 зищ1ащ. Щак1уэр гъуэм и1эбэри, Бажэр кърилъэфащ.

– К1э бгъуэтащ, Бажэ ц1ык1у! – жи1ащ щак1уэм. – Уи ф1ыгъэк1э Кърури къыс1эрыхьащ. Щак1уэм зригъэзэк1ри, Кърур игъуэтыжакъым: л1а нэпц1 зызыщ1а Кърур лъэтэжащ. 

– Кърум и акъыл мащ1эри нэхъыф1ти, си 1эмалищэрэ зым нэхърэ! – жи1эри Бажэр къэгъащ, щак1уэм къэпым щридзэм.  

Егъэджак1уэ:

  1. Усэхэри – адыгэ 1уэры1уатэм къыщыхощыж. Мыбыхэм макъамэ щ1эплъхьэу жып1э хъунущ. Усэхэр гъэщ1эгъуэнщ, узы1эпишэу ц1ык1ухэри инхэри йода1уэ. Усэхэм къеджэнущ  еджак1уэхэу е-3-нэ Б кл. щ1эсхэу Маршынкъул Алинэрэ  Ныр Аксиньярэ, е-3-нэ Вкл.щ1эс Сэбанчы Олег.

   Адакъэ

Уэ адакъэ,адакъэ,                              Уэ адакъэ,адакъэ,

Уэ адакъэ щэджащэ,                         Уэ адакъэ щэджащэ,

Дыщэ мажьэр зи сыдж,                     Дыщэ мажьэр зи пы1э. 

Сыту жьыуэ утэджрэ!                        Кхъы1э, ину умы1уэ,

Сыту хуабжьу уджэгурэ!                  Мы зэ 1уэгъуэр блэгъэк1.

Щ1эбгъэхъаеу умыджэ –                  Уэ 1уэху блэк1 уимы1э.

Ди хъыджэбзыр къогъащтэ,             Джэду уи1эр гъэжей,

Щтэ1эщтаблэу уогъэк1ий.               Цаци жейм егъэзэгъ.

Къру

Къуршым къык1ыу

Лъакъуэ к1ыхь,                                   Ныджэм щыт1ыс, 

Ди щ1ым къихьэу бэзэрыфэ,              К1апсэшхуэу зызыукъуэдий, 

Зи фэр дыщэ къамыл,                          Укъуэдияуэ уэгум ихьэж.

Зи лыр мэрем нэху, 

К1ущэ.

К1ущэ, к1ущэ,

К1уэнацэ,

Гуэн гуцэр

Зи цэпс, 

Дзыгъуэм я псэр

Хэзыуд, 

Хьэдрыхэ щыгъуагъуэ,

Унащхьэ тхыц1эр

Зи гъуэгу,

Зи гу ц1ык1ур 

Зы1эпылъ,

Зи лъэ ц1ык1ур

Зи мажьэ,

Бэрэжьейр зи жьауэ,

Жыг жьауэм 

Щ1эмыхьэ,

Хьэщ1э къихьэмэ, 

Мытэдж, 

Мытэджыжыр

Си к1ущэ,

Ек1ущэхи

Псы къэхь, 

Жьант1эм къэхьи 

Къэгъэув, 

Зи лыр дыгъурыгъу,

Зэгъунэгъуибгъум

Я шэ пэгунибгъум

Я шатащхьэр трефык1ри

Гуащэм и гъуэлъып1эм йот1ысхьэж.

Егъэджак1уэ:

  1. Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурык1уэ джэгук1э гъэщ1эгъуэнхэр. Нобэ абахэм ящыщ джэгук1эхэмк1э дыджэгунущ. Япэ джэгук1эр икъук1э гъэщ1эгъуэнщ. Мыбы зэреджэр «Си 1ыхьэр – щэ?» Сабиит1 зэпадзыжу (упщ1э – жэуапу) джэгуу щытауэ аращ. Упщ1эхэри жэуапхэри зэпхъуэк1 хъунущ, ауэ ущыуэу куэдрэ зып1эжьэмэ, «арму» жа1эри узэгуагъэп, уи п1эк1э нэгъуэщ1 ягъэджэгу. Щымыуэн щхьэк1э, упщ1эхэри жэуапхэри зэрагъащ1эу щытащ. Дедэ1уэнщ еджак1уэхэу Лат Данэрэ Къаныкъуей Астемыррэ /3 А кл./

Си 1ыхьэр-щэ?

-Си къаз плъэгъуа?                                  -Джыдэр-щэ?

-Слъэгъуащ.                                             –Пщ1ащэм хэлъщ.

-Дэнэ к1уа?                                              -Пщ1ащэр-щэ?

-Абгъуэм исщ.                                         –Лыгъэм ес.

-Сыт къик1эц1?                                       -Лыгъэр-щэ?

-Джэдык1э.                                              –Псым егъэунк1ыф1.

-Хэт ишх?                                                -Псыр-щэ?

-Мэлыхъуэм.                                           –Хьэм иреф.

-Сыт къыуит?                                          -Хьэр-щэ?

-Хъурыфэ.                                              -Л1ым щ1ыгъущ.

-Хэт игъэтэдж?                                      -Л1ыр-щэ?

-Тэджырей.                                            –Мэкъу йоуэ.

-Хэт ибз?                                                -Мэкъур-щэ?

-Бзэрей.                                                  –Шхалъэм дэлъщ.

-Хэт ид?                                                 -Шхалъэр-щэ?

-Дэрей.                                                   –Жэмыр бгъэдэтщ.

-Хэт щит1агъэ?                                      -Жэмыр-щэ?

-Си шыпхъум.                                       –П1ап1у къехь.

-Дэнэ ук1уэ?                                         -П1ап1ур-щэ?

-Хьэщ1ап1э.                                         –Джэдум иреф.

-Сыт ирагъэшх?                                   -Джэдур-щэ?

-Щыхь куц1рэ фо ц1ынэрэ.                –Гъуанэм исщ.

-Си 1ыхьэр- щэ?                                    -Гъуанэр-щэ?

-Гъуанэм илъщ.                                    –Уэ уисыжщ.

-Илъыжкъым.

-Дэнэ к1уа?

-Къуанщ1эм ешх.

-Къуанщ1эр-щэ?

-Жыгым пысщ.

-Жыгыр-щэ?

-Джыдэм пеупщ1.

«Лъэтеувэ» – мы джэгук1эм аращ зэреджэр. Мыри гъэщ1эгъуэнщ.Адыгэхэм хабзэу я1ащ сабийр къызэф1эувэу езыр-езыру лъэбакъуэ щичам  и деж хъуэхъу хуащ1у, хьэлыуэ 1энэ хуаубэу. Мис абы сабийхэри кърихьэлъэрт: щ1алэ ц1ык1уи хъыджэбз ц1ык1уи. Сабий джэгухэм хьэлыуэ 1упщ1э зырыз яубам щыщу иратырт. (Сабийхэр мэджэгу).

                    Жа1э сабийхэм:  Сэ сок1уэ!

                    Сэ сожэ!

                    Щытхэм сахолъадэ!

                   Абыхэм сахэбгъадэмэ…( … къыхызохыр!)

Ещанэ джэгук1эри икъук1э гъэщ1эгъуэнщ, «1эбэдзыуэк1э» зэджэр, иджыпсту сабий ц1ык1ухэм дагъэлъагъунщ.

Егъэджак1уэ:

Фигу ирихьакъэ ди зэ1ущ1эр, ц1ык1ухэ? Нобэ адыгэ 1уэры1уатэращ дызытепсэлъыхьар. 1уэры1уатэр ф1ыуэ зымылъагъу ц1ык1уи ини щы1эу къыщ1эк1ынкъым.

Ди гуапэ зэрыхъущи, ини ц1ык1уи дехьэх абы, ик1и я мыхьэнэр зык1и к1ащхъэ хъуркъым.

1уэры1уатэр нэсу зэбгъащ1эмэщ ди лъэпкъ культурэр, литературэ куууэ къыщыбгуры1уэнур, япэк1э щыбгъэк1уэтэфынур. Ди гугъэщ фэри 1уэры1уатэр ф1ыуэ къэфлъэгъуауэ. Ди нобэрей зэ1ущ1эри пэщ1эдзэу къэтлъытэнщ. Аращи, ди зэ1ущ1эр и к1эм нэблэгъащ. Хэтахэми хьэщ1э къеблэгъахэми ф1ыщ1э ин фхудощ1. Ди япэк1и ф1ык1э, гуф1эгъуэк1э Тхьэм дызы1уигъащ1э! Узыншэу фыщытхэ!

Like this post? Please share to your friends:
  • Псэм ипэ напэ сочинение на кабардинском
  • Псхэ менделеева для егэ
  • Псхэ для экзамена
  • Псхэ для егэ по химии
  • Псхк расписание экзаменов