Дам 40 баллов .умоляю, помогите!!! пожалуйста!!! Кабардинский язык!!! 6 класс
сочинение на тему «Сэ ф|ыуэ слъагъу нарт л|ыхъужь» 5-6 предложений. Можно любого «героя» . надо писать почему он тебе нравится
Все предметы
Биология
География
Физика
Химия
История
Обществознание
Русский язык
Литература
Экономика
Право
Математика
Алгебра
Геометрия
Информатика
Английский язык
Українська мова
Українська література
Другие предметы
Беларуская мова
Қазақ тiлi
Немецкий язык
Окружающий мир
Французский язык
Музыка
МХК
ОБЖ
Психология
Оʻzbek tili
Кыргыз тили
Астрономия
Физкультура и спорт
ainardatserkhoev
+17
Ответ дан
1 год назад
Другие предметы
5 — 9 классы
Можете дать сочинение по кабардинскому на тему «Сэ ф1ыуэ слъагъу нарт л1ыхъужьхар» срочно
Ответ
0/5
(0 оценок)
1
eddafisoj
1 год назад
Светило науки — 1 ответ — 0 раз оказано помощи
Ответ:
о ст лоролмротьпроблопросмиррс
Оцените пользу ответа
Мозг
Отвечающий
Остались вопросы?
Задать вопрос
Кабардино-Балкарская Республика
Прохладненский муниципальный район
Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение
«Средняя общеобразовательная школа №2с.Карагач»
(Заключительное занятие по теме «Адыгский нартский эпос и его культурно-историческое значение»
по программе внеурочной деятельности
«Адыгэ хабзэ» духовно-нравственного направления).
Выполнили:
учащиеся 6 класса
Руководитель:
классный руководитель
Куважокова Жанна Тольбиевна
Ноябрь 2019г
«Нарт л1ыхъужьхэм деж дыщохьэщ1э»
(класс щ1ыб лэжьыгъэ)
Фи махуэ ф1ыуэ, пщ1э зыхуэтщ1 ди хьэщ1э лъап1эхэ!
Республикэм щек1уэк1 инновационнэ площадкэм хэт ди еджап1эм иригъэк1уэк1 лэжьыгъэм и зы къудамэщ еханэ классым щеджэ сабийхэм ехьэл1а «1уэры1уатэр сабий гъэсэныгъэм и зы 1эмалщ» зи ф1эщыгъэц1э программэр.
А программэм и мурад нэхъыщхьэщ: Адыгэ хабзэм, 1уэры1уатэм зыщигъэгъуазэк1эрэ зи хэку, зи лъэпкък1э пагэ сабиим и духовно-нравственнэ зыужьык1эм хэгъэхъуэныр.
А мурадыр къыдэхъул1эн папщ1э мы къалэнхэр зыхуэдгъувыжащ:
1)1уэры1уатэр ц1ыхубэ 1ущыгъэу, гъащ1эм и дахагъэу и къарууэ зэрыщытыр сабийхэм на1уэ ящыщ1ыныр;
2)ц1ыхум хэлъын хуей пэжыныгъэр, лъэпкъым и хабзэхэм хуэщ1ын хуей гулъытэр, нэхъыжьым хуэщ1ын хуей пщ1эр, нэмысыр убзыхуныр;
3)сабийхэм я бзэм и къабзагъым зегъэужьыныр.
Ат1э ц1ык1ухэ, зэман к1эщ1ым къриубыдэу дгъэзэщ1а лэжьыгъэр дигу къэдвгъэгъэк1ыжыт.
Сабийхэм: нартхэм щыщ хъыбар щхьэхуэхэм деджащ, пшыналъэхэм гъэхуауэ еджэным делэжьащ, абыхэм щыщ пычыгъуэхэр гук1э зэдгъэщ1ащ, нэхъ дыдэзыхьэх л1ыхъужьхэм я сурэт тщащ, пычыгъуэ ц1ык1ухэр дгъэлъэгъуащ.
Еджак1уэ: Нарт эпосым ехьэл1ауэ лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ам къыщытщ1ахэр дэ на1уэ къэтщ1ынщ «Нарт л1ыхъужьхэм деж дыщохьэщ1э» джэгук1э зыбжанэхэр къыщыгъэсэбэпа лэжьыгъэмк1э.
Егъэджак1уэ: Аращи утыкур хуит яхузощ1 ди еджак1уэ ц1ык1ухэм.
Еджак1уэ: Ди проектно-лэжьыгъэр зытеухуар нарт эпосыращ. Дэ абы ехьэл1ауэ дгъэзэщ1а псоми тф1эгъэщ1эгъуэну, дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми гъэсэныгъэ мыхьэнэ и1эм зыщыдгъэгъуазэу, ф1ы къызэрыхэтхыным дыхущ1экъуу дыхэтащ. Мурад зыхуэдгъэувыжауэ щытахэр къызэрыдэхъул1эным дыхуэпабгъэу: нарт эпосым хэт л1ыхъужьхэм теухуа хъыбархэм, пшыналъэхэм зыщыгъэгъуэзэн, абыхэм щ1элъ гупсысэр ф1ыуэ зыхэщ1эн, лъэпкъым и блэк1ам теухуауэ тщ1эм хэгъэхъуэн, ди бзэм зегъэужьын, хабзэ нэмыс тхэлъу, ди Хэку дыкъызыхэк1а лъэпкъыр ди анэдэлъхубзэр ф1ыуэ лъагъун. Уегупсысмэ «Нарт» эпосыр – ар лъэпкъым и гъащ1э к1ыхьыр, и л1ыгъэр, и нэмысыр, и хабзэр, и щэныр, и гуращэ къабзэр, зыщ1эхъуэпсыр, и мурад дахэхэр къэзыгъэлъагъуэщ. Адыгэхэм залъытэж нарт лъэпкъым къытепщ1ык1ыжауэ. Эпосыр лъэпкъым и «сабиигъуэм» топсэлъыхь. Зы ц1ыхуи щы1экъым зи сабиигъуэр ф1ыуэ зымылъагъуж. Аращ дэ ар нобэр къыздэсым ф1ыуэ щ1этлъагъур.
Еджак1уэ: Нарт эпосым и ныбжьыр пхуэгъэбелджылынукъым, апхуэдизк1э жыжьэ къыщожьэри. Пасэрей дунейм и даущ къахьэсащ ди зэманым нарт хъыбархэмрэ, абыхэм лъабжьэрэ купщ1эрэ яхуэхъуар ди лъэпкъым и тхыдэрщ. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъ ягъэлъап1э 1уэры1уатэ л1эужьыгъуэ я1экъым адыгэхэм. Хъыбаррэ пшыналъэу зэхэухуэнауэ къэсащ нарт эпосыр ди лъэхъэнэм. Зы хъыбарым адрейр к1элъахьым, зы л1ыхъужьым нэгъуэщ1 л1ыхъужь бгъэдагъэувэурэ, адыгэхэм эпос псо къагъэщ1ащ. Абы зэреджэри адыгэ нарт эпосщ.
Аращи, ди джэгук1эм щ1ыдодзэ. Абы хэтынущ гупит1.
А гупхэм дэ лэжьыгъэу еттащ ц1э зыф1ащыжыну. (1ущ, лъэщ)
Дэ ди гупым зэреджэр 1ущщ. Дызэджа хъыбархэм хэт Сэтэней гуащэ икъук1э пщ1эшхуэ зи1эт, ик1и ц1ыху 1ущт. Дэри дыхуейщ ц1ыху губзыгъэщ къытхужа1эу, бзэ 1эф1 т1урылъу, адыгэхэм хэлъын хуей нэмысыр къыддалъагъуу дыпсэуну.
Дэ ди гупым зэреджэр лъэщщ. Нарт хъыбархэм къыхэщыж л1ыхъужьхэр я лъэщагък1э, я зэф1эк1к1э икъук1э ц1эры1уэхэт, абыхэм я хэкур, я лъэпкъыр ф1ыуэ ялъагъут, ик1и абыхэм лей къызэрытрамыгъэхьэным хущ1экъухэрт. Дэри дыхуейт нарт л1ыхъужьхэм ещхьу, хэхуагъэр тхэлъу, укъыщалъхуа щ1ыналъэм нэхърэ нэхъ лъап1э, укъызыхэк1а лъэпкъым нэхърэ нэхъапэ зэрыщымы1эр къыдгуры1уэу, мамырыгъэм дыхущ1экъуу дыпсэуну.
Ди япэ джэгук1эм зэреджэр «Упщ1э-жэуапщ»
-
1уэры1уатэр зищ1ысыр сыт?
-
Нарт эпосым къыхэщыжу л1ыхъужьхэу хэт сымэ яц1э къиф1уэфыну.
-
Абыхэм ящыщу хъыбархэм хэт нэхъ л1ы пашэу къыщыхэщыр?
-
Сосрыкъуэ и ц1эр адыгэбзэк1э къик1ыр сыт?
-
Дапщэ хъурэ Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр?
-
Хэт къыджи1эн а хъыбархэм я ц1эр?
Ет1уанэ джэгук1эм щ1ыдодзэ. Абы зэреджэр «Къэщ1эрей и 1ыхьэщ» Дэ иджыпсту нарт л1ыхъужьхэр зыхуэдэр к1эщ1у на1уэ къэзыщ1 пычыгъуэхэр вжет1энщи, фэ ар зэхьэл1ар хэтми къафщ1э.
-
Нартхэ я къанщ
Зи мэ1уху дыщафэр
Афэр зи джанэ к1уэщ1ыр
Дыгъэр зи пы1э щыгур
Хэту п1эрэ? (Сосрыкъуэ)
-
Дахэу щы1эм я нэхъ дахэщ
Жэщи махуи нэхуу блэуэ
Л1ыф1у щы1эм ел1ыф1эк1ыу
Л1ыгъэ щ1энк1и пэхъу щимы1э (Дахэнагъуэ)
-
Щ1алэ есщ
Щ1алэ псыгъуэщ
Ерыщагъыу хэтыр
Зыдынэсыр къыпхуэщ1энкъым! (Ашэмэз)
-
Бланэ гъэшхар и шэджэгъуашхэщ
Вы гъэшхар и пшапэ 1усщ
Ем ирилъыхъуак1уэщ
Ф1ым ири1эщак1уэщ (Бэдынокъуэ)
-
Тхьэпэлъытэу ябж пэтми,
Ц1ыхугъэм хуэхейкъым
Бзаджэм и бийщ
Пэжыгъэм, хьэлэлагъым, л1ыгъэм,
Лэжьыгъэм и телъхьэщ (Лъэпщ)
-
Гуащ1эу щы1эм я нэхъ лейщ
Жыр лэныстэр егъабзэ
Чэнджэщак1уэщ, ущияк1уэщ (Сэтэней)
-
Щхьэхуэпсалъэ, 1уэр-1эрри
Зыф1ащар аращ
Жьыгъэр ф1ыуэ къе1ами
И чэнджэщхэр сэбэпщ (Уэрсэрыжь)
-
Езыр ц1ык1ущ, жьэгъухущ
Хышхуэ тхьэрыкъуэу щ1ык1аф1эщ
Къау-къаз щык1эц1у,
Къаз джэдык1э щыгъуалъхьэу
Пщ1эгъуалэ щыгупк1эу
Гупк1э мэш къыщахым
И лъэхъэнэм къалъхуащ(Мэлычыпхъу)
Ат1э иджы ещанэ джэгук1эм щ1эддзэнщ. Абы зэреджэр «Псалъэ зэпыдз» Мы къедбжэк1ахэм щыщу Сосрыкъуэрэ Сэтэней гуащэрэ нарт хъыбархэм къызэрыхэщым елъытак1э епхьэл1э хъуну псалъэхэр къыжыф1энщ. Абы папщ1э гупит1ми ц1ыху зырыз къыхэк1ыу утыку къыдогъэблагъэ.
Япэ щ1ык1э Сосрыкъуэ епхьэл1э хъуну псалъэхэр зэпывдзыжурэ къыжыф1энщ. Иужь къинэм абы теухуа пшыналъэ къытхуеджэнщ.
(л1ыгъэ, бэшэч, и акъылыр жанщ, жыджэрщ, пэжыныгъэ, 1ущщ, хабзэ зыхэлъ, нэхъыжьыр ялъытэ, 1эдэбщ)
Сэтэней епхьэл1э хъуну псалъэхэр зэпывдзыжурэ къыжыф1э. Иужь къинэм, Сэтэней къызыхэщ зы хъыбарым щыщ пычыгъуэ къытхуеджэнщ.
(дахэщ, щэныф1эщ, губзыгъэщ, л1ыгъэ, 1ущщ, гузэвэгъуэм щымыдзыхэщ, мамырыгъэ)
Епл1анэ зэпеуэр псалъэзэблэдзщ «Нартхэр»
Упщ1эхэр:
-
Нартхэ я тхьэ гуащэ, гуащэ псом ялей. (Сэтэней)
-
Албэч и къуэ, дзэгъэшынэ шу закъуэ. (Тотрэш)
-
Сэтэней гуащэ и щауит1ым яз, чынтыр зыгъэгулэз.(Уэзырмэс)
-
Нарт Хасэ тхьэмадэ, тхьэпэлъытэ Пэкъуэ зи бий. (Нэсрэн Жьак1э)
-
Емынэ шужьей, Ашэ нарт хахуэр зыгъэгужьей.(Лъэбыцэжьей)
-
Нартхэ я л1ы икъугъэ, чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу, хьэрхуэрэгъу зи бащэ.(Бэдынэкъуэ)
-
Амыщ и къуэш, мэшыр зи бэв, гъавэр зи 1эужь.(Тхьэгъэлэдж)
Упщ1эхэм я жэуапхэр къахуэвгъуэтмэ, сатыр къыхэгъэщам къехыу фыкъыщеджэнщ нарт л1ыхъужьхэм ящыщ зым и ц1эм.
Етхуанэ зэпеуэр нартхэм я сурэт зэхэгъувэн. Иджыпсту гупит1ми а лэжьыгъэр вгъэзэщ1эху ди хьэщ1эхэр зы уэрэд федгъэдэ1уэнщ Къалмыкъ Сэтэней жи1эу.(1:21)
Фыпсэу, си ныбжьэгъу ц1ык1ухэ «1ущ» гупми «Лъэщ» гупми ф1ы дыдэу зыкъэвгъэлъэгъуащ, дэтхэнэ зы джэгук1эми жыджэру фыхэтащ. Сыхуейт дяпэк1и мис апхуэдэу дызэкъуэту, дызэчэнджэщу, сыт хуэдэ 1уэхури дызэгуры1уэу длэжьыфу дыщытыну.
Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм:
Фи гъащ1эр к1ыхьу,
Фи нэмысыр лъагэу,
Фи насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу,
Гухэхъуэр фи куэду,
Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!
Егъэджак1уэ: Фыпсэу, ц1ык1ухэ псори жыджэру фыхэтащ ди джэгум. Дэ 1эмал имы1эу адэк1и къыпытщэнущ ди лэжьыгъэм. Сыхуейт акъылк1э фыжану, жыджэрагъ сыт щыгъуи фхэлъу, лъэпкъ 1уэры1уатэм ф1агъ хэлъыр нэгъэсауэ къывгуры1уэу, 1ущагък1э фхуэдэ щымы1эу, адыгэбзэр вгъэбзэрабзэрэ лъэпкъым и пщ1эр ф1эту фыпсэуну.
Нобэ мыбдеж кърихьэл1а псоми ф1ыщ1э ин фхузощ1. Псори дэ дызыхущ1экъур ди бзэр, ди лъэпкъыр ф1ы хуэдгъэзэн мурадщи, Аллыхьым къыдигъэхъул1э.
Обновлено: 11.03.2023
Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.
Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ — ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.
Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.
Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.
Сочинение Темирова Темирлана,
Пшеунова Т. А
Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.
Основные способы перевода пожертвований в Русфонд
1.Через банк
2. Через терминал QIWI (КИВИ)
3. Через банковскую карту
4. Другие способы
17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.
12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.
А программэм и мурад нэхъыщхьэщ: Адыгэ хабзэм, 1уэры1уатэм зыщигъэгъуазэк1эрэ зи хэку, зи лъэпкък1э пагэ сабиим и духовно-нравственнэ зыужьык1эм хэгъэхъуэныр.
А мурадыр къыдэхъул1эн папщ1э мы къалэнхэр зыхуэдгъувыжащ:
1)1уэры1уатэр ц1ыхубэ 1ущыгъэу, гъащ1эм и дахагъэу и къарууэ зэрыщытыр сабийхэм на1уэ ящыщ1ыныр;
2)ц1ыхум хэлъын хуей пэжыныгъэр, лъэпкъым и хабзэхэм хуэщ1ын хуей гулъытэр, нэхъыжьым хуэщ1ын хуей пщ1эр, нэмысыр убзыхуныр;
3)сабийхэм я бзэм и къабзагъым зегъэужьыныр.
Ат1э ц1ык1ухэ, зэман к1эщ1ым къриубыдэу дгъэзэщ1а лэжьыгъэр дигу къэдвгъэгъэк1ыжыт.
Сабийхэм: нартхэм щыщ хъыбар щхьэхуэхэм деджащ, пшыналъэхэм гъэхуауэ еджэным делэжьащ, абыхэм щыщ пычыгъуэхэр гук1э зэдгъэщ1ащ, нэхъ дыдэзыхьэх л1ыхъужьхэм я сурэт тщащ, пычыгъуэ ц1ык1ухэр дгъэлъэгъуащ.
Егъэджак1уэ: Аращи утыкур хуит яхузощ1 ди еджак1уэ ц1ык1ухэм.
Еджак1уэ: Нарт эпосым и ныбжьыр пхуэгъэбелджылынукъым, апхуэдизк1э жыжьэ къыщожьэри. Пасэрей дунейм и даущ къахьэсащ ди зэманым нарт хъыбархэмрэ, абыхэм лъабжьэрэ купщ1эрэ яхуэхъуар ди лъэпкъым и тхыдэрщ. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъ ягъэлъап1э 1уэры1уатэ л1эужьыгъуэ я1экъым адыгэхэм. Хъыбаррэ пшыналъэу зэхэухуэнауэ къэсащ нарт эпосыр ди лъэхъэнэм. Зы хъыбарым адрейр к1элъахьым, зы л1ыхъужьым нэгъуэщ1 л1ыхъужь бгъэдагъэувэурэ, адыгэхэм эпос псо къагъэщ1ащ. Абы зэреджэри адыгэ нарт эпосщ.
Аращи, ди джэгук1эм щ1ыдодзэ. Абы хэтынущ гупит1.
А гупхэм дэ лэжьыгъэу еттащ ц1э зыф1ащыжыну. (1ущ, лъэщ)
Дэ ди гупым зэреджэр 1ущщ. Дызэджа хъыбархэм хэт Сэтэней гуащэ икъук1э пщ1эшхуэ зи1эт, ик1и ц1ыху 1ущт. Дэри дыхуейщ ц1ыху губзыгъэщ къытхужа1эу, бзэ 1эф1 т1урылъу, адыгэхэм хэлъын хуей нэмысыр къыддалъагъуу дыпсэуну.
Дэ ди гупым зэреджэр лъэщщ. Нарт хъыбархэм къыхэщыж л1ыхъужьхэр я лъэщагък1э, я зэф1эк1к1э икъук1э ц1эры1уэхэт, абыхэм я хэкур, я лъэпкъыр ф1ыуэ ялъагъут, ик1и абыхэм лей къызэрытрамыгъэхьэным хущ1экъухэрт. Дэри дыхуейт нарт л1ыхъужьхэм ещхьу, хэхуагъэр тхэлъу, укъыщалъхуа щ1ыналъэм нэхърэ нэхъ лъап1э, укъызыхэк1а лъэпкъым нэхърэ нэхъапэ зэрыщымы1эр къыдгуры1уэу, мамырыгъэм дыхущ1экъуу дыпсэуну.
1уэры1уатэр зищ1ысыр сыт?
Нарт эпосым къыхэщыжу л1ыхъужьхэу хэт сымэ яц1э къиф1уэфыну.
Абыхэм ящыщу хъыбархэм хэт нэхъ л1ы пашэу къыщыхэщыр?
Сосрыкъуэ и ц1эр адыгэбзэк1э къик1ыр сыт?
Дапщэ хъурэ Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр?
Хэт къыджи1эн а хъыбархэм я ц1эр?
Зи мэ1уху дыщафэр
Афэр зи джанэ к1уэщ1ыр
Дыгъэр зи пы1э щыгур
Хэту п1эрэ? (Сосрыкъуэ)
Дахэу щы1эм я нэхъ дахэщ
Жэщи махуи нэхуу блэуэ
Л1ыф1у щы1эм ел1ыф1эк1ыу
Л1ыгъэ щ1энк1и пэхъу щимы1э (Дахэнагъуэ)
Зыдынэсыр къыпхуэщ1энкъым! (Ашэмэз)
Бланэ гъэшхар и шэджэгъуашхэщ
Вы гъэшхар и пшапэ 1усщ
Ф1ым ири1эщак1уэщ (Бэдынокъуэ)
Тхьэпэлъытэу ябж пэтми,
Пэжыгъэм, хьэлэлагъым, л1ыгъэм,
Лэжьыгъэм и телъхьэщ (Лъэпщ)
Гуащ1эу щы1эм я нэхъ лейщ
Жыр лэныстэр егъабзэ
Чэнджэщак1уэщ, ущияк1уэщ (Сэтэней)
Жьыгъэр ф1ыуэ къе1ами
И чэнджэщхэр сэбэпщ (Уэрсэрыжь)
Езыр ц1ык1ущ, жьэгъухущ
Хышхуэ тхьэрыкъуэу щ1ык1аф1эщ
Къаз джэдык1э щыгъуалъхьэу
Гупк1э мэш къыщахым
И лъэхъэнэм къалъхуащ(Мэлычыпхъу)
Япэ щ1ык1э Сосрыкъуэ епхьэл1э хъуну псалъэхэр зэпывдзыжурэ къыжыф1энщ. Иужь къинэм абы теухуа пшыналъэ къытхуеджэнщ.
(л1ыгъэ, бэшэч, и акъылыр жанщ, жыджэрщ, пэжыныгъэ, 1ущщ, хабзэ зыхэлъ, нэхъыжьыр ялъытэ, 1эдэбщ)
Сэтэней епхьэл1э хъуну псалъэхэр зэпывдзыжурэ къыжыф1э. Иужь къинэм, Сэтэней къызыхэщ зы хъыбарым щыщ пычыгъуэ къытхуеджэнщ.
(дахэщ, щэныф1эщ, губзыгъэщ, л1ыгъэ, 1ущщ, гузэвэгъуэм щымыдзыхэщ, мамырыгъэ)
Нартхэ я тхьэ гуащэ, гуащэ псом ялей. (Сэтэней)
Албэч и къуэ, дзэгъэшынэ шу закъуэ. (Тотрэш)
Сэтэней гуащэ и щауит1ым яз, чынтыр зыгъэгулэз.(Уэзырмэс)
Нарт Хасэ тхьэмадэ, тхьэпэлъытэ Пэкъуэ зи бий. (Нэсрэн Жьак1э)
Емынэ шужьей, Ашэ нарт хахуэр зыгъэгужьей.(Лъэбыцэжьей)
Нартхэ я л1ы икъугъэ, чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу, хьэрхуэрэгъу зи бащэ.(Бэдынэкъуэ)
Амыщ и къуэш, мэшыр зи бэв, гъавэр зи 1эужь.(Тхьэгъэлэдж)
Упщ1эхэм я жэуапхэр къахуэвгъуэтмэ, сатыр къыхэгъэщам къехыу фыкъыщеджэнщ нарт л1ыхъужьхэм ящыщ зым и ц1эм.
Етхуанэ зэпеуэр нартхэм я сурэт зэхэгъувэн. Иджыпсту гупит1ми а лэжьыгъэр вгъэзэщ1эху ди хьэщ1эхэр зы уэрэд федгъэдэ1уэнщ Къалмыкъ Сэтэней жи1эу.(1:21)
Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм:
Фи гъащ1эр к1ыхьу,
Фи нэмысыр лъагэу,
Фи насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу,
Гухэхъуэр фи куэду,
Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!
Егъэджак1уэ: Фыпсэу, ц1ык1ухэ псори жыджэру фыхэтащ ди джэгум. Дэ 1эмал имы1эу адэк1и къыпытщэнущ ди лэжьыгъэм. Сыхуейт акъылк1э фыжану, жыджэрагъ сыт щыгъуи фхэлъу, лъэпкъ 1уэры1уатэм ф1агъ хэлъыр нэгъэсауэ къывгуры1уэу, 1ущагък1э фхуэдэ щымы1эу, адыгэбзэр вгъэбзэрабзэрэ лъэпкъым и пщ1эр ф1эту фыпсэуну.
Нобэ мыбдеж кърихьэл1а псоми ф1ыщ1э ин фхузощ1. Псори дэ дызыхущ1экъур ди бзэр, ди лъэпкъыр ф1ы хуэдгъэзэн мурадщи, Аллыхьым къыдигъэхъул1э.
Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей — Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.
Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.
Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-
ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ
Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар
Налшык къалэ
31 – нэ курыт еджап1эм
адыгэбзэмрэ литературэмк1э
и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.
Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,
Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,
Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,
Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.
Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей — Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.
Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.
Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.
Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.
Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.
Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.
Читайте также:
- Как я берегу свое здоровье сочинение
- Лера кудрявцева сочинение успешная телеведущая
- Мини сочинение на тему загрязнение почвы
- Мини сочинение про кровать
- Поиск это определение сочинение
Другие предметы,
вопрос задал ainardatserkhoev,
4 года назад
Ответы на вопрос
Ответил eddafisoj
6
Ответ:
о ст лоролмротьпроблопросмиррс
Предыдущий вопрос
Следующий вопрос
Новые вопросы
Биология,
7 месяцев назад
В популяции имеются три аллели гена A и присутствуют шесть генотипов, частоты которых составляют: p(A1A1)=4%, p(A2A2)=9%, p(A3A3)=25%, p(A1A2)=12%, p(A1A3)=20%, p(A2A3)=30%. Два родителя разного пола…
Обществознание,
7 месяцев назад
легкий вопрос! 20б
лет ми дай….
Математика,
4 года назад
30 баллов. Решить примеры…
Математика,
4 года назад
дам 100 баллов спасите наш класс…
Математика,
6 лет назад
уаростите выражение и найдите его значение 2(а -3b)+3a+b a-b=4…
Математика,
6 лет назад
длина толстого провода 46 м,а длина тонкого провода 34 м.Израсходовали 9 м провода.Сколько метров провода осталось? Нади решать задачу разными способами.
«зи мэIуху дыщафэ, афэр зи джанэ куэщI, дыгъэр зи пыIэ щыгу» хужаIэ; лъапэкIэрыхъ-жэмыхъуэрылъху дзыр теIукIащ; Созыр и къуэ – аращ Сосрыкъуэ и цIэм хэкIыпIэ хуэхъуар.
БэдынокъуэБэдынокъуэ – нарт Бэдын и къуэщ, чынтыр зи ныкъуэкъуэп»укIэ йоджэ, «и шабзащхьэ мэзышхуэ хуэдэщ, и дамэ ижьым дыгъэр къыщопс, и дамэ сэмэгум уэсыр къыщос».
АшэмэзАшэмэз – нарт Ашэ и къуэщ, «ныбэм илъ щIыкIэ и адэм илъ зыщIэжар» Ашэ и къуэ Ашэмэз щIалэрщ.
Батэрэз – нарт Хъымыщрэ ис
пы гуащэмрэ я къуэщ, нартхэм зэрыжаIэщи, «гуузищэу зэкIуэцIылъщ»; Батэрэз и адэм и лъыуасэр нартхэ къахуэшынакъым.
Насрэн ЖьакIэ – абы щхьэкIэ нартхэм жаIэ: «Ди нарт тхьэмадэр Насрэн ЖьакIэщ, Насрэн ЖьакIэ ди дыщэ жьакIэщ, и жьакIэр уэсщи, бынжэгум нос, шым ар нэшэсмэ, шы сокум хэлъщ».
Тотрэш– нарт Албэч и къуэщ, дзэгъэшынэ шу закъуэкIэ йоджэ, нартаэ я бжыщхьэ дыкъуакъуэщ, мыкъутэр и бжыкIщ.
Лъэпщ– нартхэ я гъукIэщ, Сосрыкъуэ зыпсыхьар Лъэпщщ, нартаэ гъубжэ яхуищIащ, щIым гъунэ зэримыIэр къихутащ.
Сэтэней гуащэ – нарт гуащэщ, Сосрыкъуэ зыпIар Сэтэнейщ; «сэ нарт шу сыпащ!»,– жеIэ езы Сэтэней.
Абыхэм нэмыщI, хъыбар куэд къадогъуэгурыкIуэ: Уэзырмэдж, Уэзырмэс, Къанж и къуэ Щэуей, ШукIасэ, Жэмыхъуэжь, Лъэбыцэжьей, ЩэуапцIэ, Дзэгъащтэ, Мэлэчыпхъу, Дахэнагъуэ, Япэнэс сымэ. Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ ущрохьэлIэ нэгъуэщI Iэджэми я цIэ. Абыхэм ящыщщ: Шужьей, Дэбэч, Хъудымыжь, Арыкъшуужь, Джылахъстэн, Пагуэ, Гуэргуэныжь, Пэныкъуэ, Имыс, Исым, Ехъутэныджыжь, Пщымарыкъуэ, Псэтын гуащэ, Iэдииху, Дыгулыпхъу, Ахумыдэ, ЩхьэцфIыцIэ, Вэкъуэнанэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
«Дэ доджэгу нарт л1ыхъужьхэу»
(классщ1ыб лэжьыгъэ 14 кл.)
Гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и мурад нэхъыщхьэхэр:
1. Ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын нарт хъыбархэм, абыхэм къыхэщ л1ыхъужь нэхъ
пажэхэм.
2. Пэщ1эдзэ классхэм щ1эс сабийхэм къегъэщ1эн нархэм яхэлъа хьэлщэн дахэхэр, я
дуней тетык1ар, зыщ1эхъуэпсар, я гурыщ1эр, я л1ыгъэр, я хабзэнэмысыр; нарт
л1ыхъужьхэм сыт хуэдэ щытык1э гугъухэми къызэрик1ын 1эмалхэр къагъуэтыфу
зэрыщытар.
3. Сабий ц1ык1ухэм зыхегъэлъхьэн нарт л1ыхъужьхэм яхэлъа хьэлщэн дахэхэр; ахэр
къэгъэтэджын зылъэмык1хэм ядэ1эпыкъуфу, лей зы лъысхэм къащхьэщыжыфу, мурад
ящ1ахэм я 1эр лъагъэ1эсыфу, я Хэку яхъумэжыфу.
4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, къэгъэтэджын дуней псом щыц1эры1уэ нарт хъыбар
хьэлэмэтыщэхэр зыхэзылъхьа и адыгэ лъэпкъым иригушхуэу ик1и ирипагэу.
( Нарт къафэ къеуэу залым дыщ1охьэ.)
Егъэджак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ, ди махуэшхуэм кърихьэл1а псоми! Адыгэ
1уэры1уатэм и нэхъ ехъул1эныгъэ ин дыдэхэм щыщщ нарт хъыбархэр. Абыхэм
щызэхуэхьэса хъуащ адыгэхэм я зэф1эк1 псори: я л1ыгъэр, я лэжьыгъэр, я хабзэ нэмысыр,
лъэпкъым и тхыдэр. Нартхэм псалъэжьу я1эщ: «Л1ыгъэншэу л1эщ1ыгъуищэ къэбгъащ1эрэ
лъэужьыншэу ук1уэдыж нэхърэ, мащ1э дыдэ къэбгъащ1эрэ л1эщ1ыгъуищэк1э уи лъэужьыр
мык1уэдыжым нэхъыф1щ!». Мис мы псалъэжьым тэмэму къе1уатэ нартхэм я дуней
тетык1ар, зыщ1эхъуэпсар, я гурыщ1эр.
Адыгэхэм л1эщ1ыгъуэ куэдк1э яхъумэфа нарт эпосым л1ыхъужь хьэлэмэтхэр къыхощ.
Абыхэм я хэкур ф1ыуэ ялъагъу, ц1ыхугъэшхуэ ябгъэдэлъщ. Нартхэр лъэщщ, къаруушхуэ
зыхэлъщ, щэныф1эхэщ, хьэлэлхэщ. Ахэр зылъэмык1ым до1эпыкъу, лей зылъысам
къащхьэщож, тхьэусыхэрейкъым, бэшэчщ. Нарт шу гъуэгу техьамэ, здежьам нэмысу
къигъэзэжыркъым.
Иджыпсту дэ ди къалэн нэхъыщхьэу щытщ мы ищхьэк1э къыжыс1а хьэлщэн дахэхэр
ди гъэсэн, еджак1уэ ц1ык1ухэм яхэтлъхьэныр.
Ди гуф1эгъуэ махуэри зытедухуар аращ. Абы ф1этщащ ц1эуэ «Дэдоджэгу нарт
л1ыхъужьхэу».
(Сабий къек1уэл1ахэм захузогъазэ.)
Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэ, дэ нобэ ди махуэ лъап1эщ. Нарт щ1ыналъэм и санэхуафэщ.
Ди деж къеблъэгъэнущ нарт л1ыхъужьхэр. Фэ нарт л1ыхъужьхэм щыщу хэт сымэ фц1ыхурэ?
(Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Сэтэней, Щауей, Бэтэрэз, Лъэпщ, Мэлэчыпхъу, Ашэмэз,
Дахэнагъуэ, Уэрсэрыжь, Япэнэс). Хьэлэмэтщ мы л1ыхъужьхэм ящыщу Сосрыкъуэ и къэ
хъук1ар. Девгъэда1уэт абы. (Сосрыкъуэ и къэхъук1ам топсэлъыхь). Ди хьэщ1эхэр
къэсыхук1э дедэ1уэнщ усэ, нарт л1ыхъужьхэм я псэук1ам теухуауэ:
Сабий: Ди лъэпкъ я псалъэ епц1ыжакъым,
Жьэгупащхьэ фочми емыса.
Я къамэ пц1анэр кърахамэ,
Къыщ1рахари гузэсащ.
Гупсыси псалъэ, упсэлъэнум.
Зумыплъыхьауи умыт1ыс.
Щ1ап1ык1т, а хабзэм бын къащ1эхъуэр,
Щ1ыхь ар зымыдэм къалъымыст.
(Сосрыкъуэ къохьэ). Егъэджак1уэ: Къеблагъэ, Сосрыкъуэ. Ди гуапэ хъуащ ди санэхуафэр уэ
къызэрызэ1упхыр.
Сосрыкъуэ: Сэ нобэ фи деж сыкъэк1уащ, вдэс1ыгъыну фи махуэ лъап1эр.
Егъэджак1уэ: Къак1уэ, Сосрыкъуэ, къыдыхьи т1ыс.
Сосрыкъуэ гъащ1эр, ц1ыхухэр ф1ыуэ елъагъу, л1ыгъэшхуэ хэлъщ. Абы сыт щыгъуи
гугъу зыщ1ригъэхьыр нартхэм ц1ыхухэм къазэрыщхьэпэжын лэжьыгъэщ. Дигу
къэдгъэк1ыжынщ, Сосрыкъуэ нартхэм маф1э къазэрыхуихьыжар.
Сабий: Нарт шу гуп мэшэсри
Иныжьыдзэм езэуэну,
Сосрыкъуэ къагъанэри
Нартыжьхэр гъуэгу тохьэ.
Нартыжьхэр гъуэгу тету,
Уае бзаджэр къатохъуэ:
Адк1и мыдк1и мык1уэфу
Нартхэр щ1ы1эм зэщ1ещтэ
Зэф1энауэ нартыжьхэр
Къумыжь нэщ1ым щопсалъэ:
Уий, Имыс, маф1э уи1э?
Си тхьэры1уэщ, симы1э.
Уий, Сосым, маф1э уи1э?
Си Мэзытхьэ, симы1э.
Ашэм и къуэ Ашэмэз,
Маф1э уи1эу п1эрэ уэ?
Псатхьэ, со1уэ, симы1э.
Хъымыщ и къуэ Бэтэрэз,
Маф1э уи1эу п1эрэ уэ?
Щыблэ, со1уэ, симы1э.
Ди къежьэгъуэр нартыжьхэм,
Л1эужь л1эгъуэ тхуэхъуати,
Дэ дымыделатэмэ,
Уей, ди Сосрыкъуапц1э,
Димыгъусэу, нартыжьхэр,
Дыкъежьэни хуеякъым.
(Сосрыкъуэ нартхэм япожьэ.)
Армэ, Сосрыкъуэу л1ыхъужь,
Армэ, ди л1эужь дыщэ,
Армэ, ди л1эужьыф1,
Маф1э уи1эм тхущ1эгъанэ!
Сосрыкъуэ: Уий, нарт шухэ, маф1эншэу
Гъуэгу теувэу хэт щы1э?
Уий, нартхэ, фымыгухэ,
Фэ маф1э фимы1эмэ,
Сэ къыфхуэзгъуэтынкъэ!
(Сосрыкъуэ маф1э къихьыну мак1уэ. «Сосрыкъуэ» уэрэдым дода1уэ).
(Сосрыкъуэ маф1э и1ыгъыу къегъэзэж).
Сосрыкъуэ, упсэу. Дэ уэ къытхуэпщ1ар зэи тщыгъупщэнкъым. Удимыгъусэуи зэи
гъуэгу дытеувэнкъым.
(Сосрыкъуэ фалъэ ират, мэхъуахъуэ).
Сосрыкъуэ: Ди маф1ащхьэр мыужьыхыжу, Ди жьэгу пащхьэр мыпсэхыжу,
Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщ1эу,
Ди жьэгур нэхурэ хуабэу,
Тхьэм куэдрэ дигъэпсэу.
(Сэтэней къохьэ.)
Егъэджак1уэ:
Ди гуапэ хъуащ ди махуэшхуэм
укъызэрырихьэл1ар. Сэтэней нарт псоми я анэщ. Сосрыкъуи, Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Щауеи
зып1ар Сэтэнейщ. Сэтэней губзыгъэщ.
Къеблагъэ,
Сэтэней.
Нарт л1ыхъужьхэм къагурымы1уэ 1уэхугъуэхэр яхузэпкъырызыхыр Сэтэнейщ. Лъэпщ
1эдэуадэм и щ1ык1эр къыхуэзыгъуэтри аращ.
(Лъэпщ 1эдэ, уадэ ищ1ынымк1э Сэтэней зэрыдэ1эпыкъуам топсэлъыхь).
Егъэджак1уэ: Сэтэней и 1ущагъыр, и губзыгъагъыр, псоми ущияк1уэу, гъэсак1уэу
зэра1ар къыхощ къывжи1эну усэм:
Сэтэней:
Уи жьэр гъэкъабзэ,
Уи бзэр гъэ1эсэ,
Зэик1 пц1ы умыупс,
Псэжь удэмылажьэ,
Жьыгъэр зытумыгъак1уэ,
Емык1у ухэмыхьэ.
Хьэми уемыхьэкъу.
Уи къуэ уемыубзэ,
Бзаджэ зумыгъэк1уал1э,
Л1ыф1 умыгъэбий.
Уи бий л1ак1э умыпсэху.
Уи щэныр дахэу,
Уи напэр хужьу,
Ц1ыхум яхэт.
(Лъэпщ къохьэ).
Лъэпщ: Фи махуэ ф1ыуэ! Сэ си ц1эр Лъэпщщ, нартхэм срагъук1эщ.
Егъэджак1уэ: Къеблагъэ, Лъэпщ, къыщ1ыхьэ. Ц1ык1ухэ, Лъэпщ нартхэр зэреджэу
щытар «гъущ1ым и тхьэщ». Абы нартхэм яхуещ1 джатэ, шабзэ, зэрылажьэ 1эмэпсымэхэр.
Иджыпсту дигу къэдгъэк1ыжынщ Лъэпщ гъубжэ зэрищ1а щ1ык1эр.
(Нартхэр зэхэсщ.)
Нартхэ я мэшыр мэбагъуэ,
Нартхэ гъубжэншэу зэхэсщ,
Мэш зэрахынум и теплъэр
Сыт ямыщ1эми къахуэщ1эркъым.
Сыт тщ1энур?
Ди мэш бэгъуар губгъуэм йок1уадэ, къызэритхынур дымыщ1э.
Нартхэ дызэчэнджэщу ди1эр Сэтэней гуащэщи, 1уэхур зы1утыр жедывгъэ1э.
Сэтэней гуащэ, чэнджэщ къыдэт. Ди мэш бэгъуар губгъуэм йок1уадэ, къызэрытхынур
дымыщ1э.
Сэтэней: Мы къуажэм псом нэхърэ нэхъыжьу дэсыр Уэрсэ рыжьщи 1уэхур
зы1утыр жеф1э.
Уи махуэ ф1ыуэ, Уэрсэрыжь!
Ди нартхэ я унэ утшэнущ.
Уэрсэрыжь: Сынэк1уэфынукъым!
Сэ жьы сыхъуащ.
Нарт: Дэ 1эпл1эк1э утхьынущ. Нартхэ я унэм щынэсым Уэрсэрыжь мэджалэ.
Уэрсэрыжь: Нартхэ фи унэ сыныщ1оджагуэри!
Нарт: Укъыщ1эджагуэркъым, укъыщ1оджалэ.
(Уэрсэр зигъэгусауэ мэк1уэж.)
Сэтэней: Ар щхьэхуэпсалъэщ. Къыджимы1ари щык1уэжк1э и щхьэм хужи1эурэ
к1уэжынущ. Фык1элъык1уатэ, фык1элъыда1уэ!
Уэрсэрыжь: Сл1ожь абы гугъуехьу хэлъыр?
Адакъэк1эу къэбгъэшынщ,
Къазшырыдзэу дубзык1ынщ,
Пхъэшыкъу т1эк1у ф1эбук1эжынщи,
Гъубжэ жыхуа1эр аракъэ!
Нарт: Упсэу, Уэрсэрыжь. Кхъы1э, ди санэхуафэм тхухэт. Лъэпщ гъубжэ ищ1ыну
к1уащ. Ди мэш бэгъуари 1утхыжынщ.
(Бэдынокъуэ къохьэ.)
Бэдынокъуэ: Фи махуэ ф1ыуэ! Сэ сы Бэдынокъуэщ. Нартхэм сразауэл1щ.
Егъэджак1уэ: Бэдынокъуэ щхьэщытхъукъым, 1эдэбщ, бийм пэ щ1эувэмэ,
хьэрэмыгъэрэ гъэпц1агъэрэ зэримыхьэу къару къабзэк1э хегъащ1э. Бэдынокъуэ и щхьэм
щхьэк1э мыр же1эж:
Бэдынокъуэ: Сыешхак1уэ ефак1уэкъым,
Нарт щауэгъу солъыхъуэ,
Ем срилъыхъуак1уэщ,
Ф1ым сри1эщак1уэщ.
Егъэджак1уэ: Адыгэхэм я дежк1э Бэдынокъуэ «щапхъэ зытрах л1ыуэ» щытщ.
Нартхэм къатеуа чынтыдзэм зэрезауэр, абы л1ыгъэ зэрихьар кьи1уатэу федгъэдэ1уэнщ
уэрэд.
(«Бэдынокъуэ» уэрэдым дода1уэ).
Егъэджак1уэ: Бэдынокъуэ ц1ыху хахуэу зэрыщытам нэмыщ1к1э, ц1ыху 1ущу,
жы1эда1уэу щытащ. Абы хузэф1эк1ащ, нартхэ я лъэхъэнэм щы1а хабзэжьыр икъутэныр.
(«Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэф1ыр» хъыбарым к1эщ1у
топсэлъыхь).
Егъэджак1уэ: Къэфц1ыхуауэ къыщ1эк1ынщ къэса ди хьэщ1эр. Мыр Мэлэчыпхъущ.
Мэлэчыпхъу хъыджэбз 1ущщ, жанщ, гугъуехьым щышы
нэркъым. Абы и щэным, и губзыгъагъэм удехьэх. Девгъэда1уэт Мэлэ чыпхъу
зэрыпсалъэм:
Мэлэчыпхъу: Гуогуо! Хэт ар? Мэлэчыпхъу.
Дэнэ ущы1а? Пщым и унэ.
Сыт къыщыпшх? Адакъэщ1эрэ хущ1э п1астэрэ.
Си 1ыхьэр щэ? Гуэным илъщ.
Гуэныр щэ? Жыгыу щытщ.
Жыгыр щэ? Уэщыр йоуэ.
Уэщыр щэ? Щхьэлым щ1элъщ.
Щхьэлыр щэ? Маф1эм ес.
Маф1эр щэ? Псым ехь.
Псыр щэ? Шым иреф.
Шыр щэ? Мэхь, мэхь!!!
Егъэджак1уэ: Мэлэчыпхъу и анэм гъунэгъум и деж игъэк1уащ къундэпсэу т1эк1у
щхьэк1э. Зыдэк1уа ц1ыхубзыр зэрыбзаджэр, псоми зэрыщысхьыр ищ1эрти, мыпхуэдэу
жи1ащ: Мэлэчыпхъу: Нанэ выл,
Балъыджэ,
Кхъуейшыпс,
Къундэпсэу т1эк1у
Щхьэк1э сыкъигъэк1уащ.
Егъэджак1уэ: А пл1ым языхэзу Мэлэчыпхъу зыхуейр ц1ыхубзым къыгуры1уат, ауэ
къримытын щхьэк1э мыр къыжри1ащ:
Си1эу щытмэ,
Си к1эр дыщэ данэк1э къаудыхь,
«Мэхь» жыс1эмэ,
Щ1эгъуэнищэр къызэхуэсу,
Сыщыл1ам дежи
Гъуаплъэ бэн схуаущ1ыж.
Егъэджак1уэ: Ц1ыхубзым къундэпсэу т1эк1у щхьэк1э къыщигъэщ1эхъум,
Мэлэчыпхъу абы хуэфащэ жэуапи иритыжащ.
Мэлэчыпхъу: Уи1э пщ1ондэ,
Уи к1эр хьэцыбанэк1э къаудыхь,
«Мыхь» жып1эмэ,
Хьэ къарищэ къызэхуэсу,
«Псы севгъафэ» жып1эмэ,
Хъуразэк1э къыпхуаухь.
Ущыл1ам дежи
Псыпц1эжь ят1эм ухаудзэж.
Егъэджак1уэ: Иджы къеблэгъа ди хьэщ1эхэр Дахэнагъуэрэ Япэнэсрэщ.
Дахэнагъуэ пщащэр насып пэлъытэщ. Ар ц1ыхухэм я насыпщ, я гъащ1эщ. Дахэнагъуэ
Нарт Хэкум къихьэмэ, Нарт Хэкур умыцыхужын хуэдизк1э къэщ1эрэщ1энут, псоми
ф1ыгъуэр ябэу псэунут. Мэлыхъуэ Япэнэс зэхех Дахэнагъуэ и хъыбарыр. Абы мурад ещ1
Дахэнагъуэ Нарт Хэкум къришэжыну. Бэлыхь куэд ишэча нэужь, Япэнэс хуозэ Дахэна
гъуэм.
Япэнэс Дахэнагъуэм жре1эр:
Япэнэс: Ей, Дахэнагъуэу, нагъуэурэ дахэ!
Сэ си закъуэу сыкъэплъагъуу щытми,
Сэ зэик1 сыц1ыху щхьэзакъуэкъым,
Къэск1уари къыщ1эск1уар си щхьэ 1уэхукъым,
Ц1ыхухэм я ф1ыгъуэр яхуэсхьыжынущ.
Абы я гугъап1эр уэращ, Дахэнагъуэ.
Си л1ыгъэм лъэк1мэ уахуэсхьыжынущ.
Егъэджак1уэ: Дахэнагъуэм, а псалъэхэр
щызэхихк1э, къощэбэжри Япэнэсым
къыжре1эр:
Дахэнагъуэ: Ат1э, гъуэгуанэшхуэр аращ щ1эпк1уфар. Уафэм ущылъэщу, щ1ылъэм
ущыбыдэу, аращ ущ1ыщытыр. Бэм я ф1ыгъуэм щ1экъурщ ф1ыгъуэ зыхуэфащэр.
Егъэджак1уэ: Дахэнагъуэ Нарт Хэкум къихьэжащ.
Зэрыжа1эжымк1э, Нарт Хэкум Дахэнагъуэ къызэрихьэжу, ф1ы
гъуэр нарт
щ1ыналъэм зэик1 щхьэщык1ыжакъым.
Егъэджак1уэ: Нартхэм хуабжьу ф1ыуэ ялагъу хьэрхуэрыгъэр. Санэхуафэ ща1эм и
деж ахэр зэпеуэу щытащ губзыгъагъэк1э. Дэри иджыпсту дызэпеуэнщ псалъэжьхэмк1э,
псынщ1эрыпсалъэхэмк1э, къуажэхьхэмк1э. Усэ, уэрэд зэдгъэщ1ахэми федгъэдэ1уэнщ, ди
къафэк1эми федгъэплъынщ.
1. Псынщ1эрыпсалъэхэр: а) Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.
б) Пхъэр сошэр пхъыр сошхыр.
в) Лэныстэмастэкъэбыстэ п1астэ.
г) Бадэ бадзэ къеубыд,
Бадэ бадзэм иреуд.
д) Хъурмэ мыхъури, хъурмэ хъуари хъумак1уэм ехъумэ.
е) Фи бори яй, ди бори яй. Ди бори яй, фи бори яй.
ж) Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри, си нэпсыр тк1уэпстк1уэпсурэ къыщ1игъэжащ.
2. Псалъэжьхэр: (зы сабийм псалъэжьым и къегъэжьап1эр же1э, адрейм и
к1эухыр же1э).
а) Узэгугъур (къогугъуж).
б) Джэд пэтрэ (мэулъэпхъащэ).
в) Бзур зы1этыр дамэщ,( ц1ыхур зы1этыр акъылщ).
г) Нэхъыжьыр гъэлъап1и, (уи щхьэр лъап1э хъунущ).
д) Унэм зыщыгъаси, (хасэм яхыхьэ).
е) Хуэмыху и 1уэху (махуитху и п1алъэщ).
ж) Мастэк1э 1эшэщ, (шатэк1э бзаджэщ).
з) Гъатхэм жеяр, (бжьыхьэм магъыж).
и) Гупсыси псалъэ, (зыплъыхьи т1ыс).
к) Пц1ым (лъакъуэ щ1эткъым).
л) Хьэщ1эм (насып къыдок1уэ).
м) Хэти езым и Хэкур (ф1ыуэ елъагъуж).
3. Къуажэхьхэр: (ц1ык1ухэр гупит1у гуэшауэ зэпоуэ).
а) Зи к1эр зылъэфу, зи фэр зи бий (бажэ).
б) Жьыми щ1эми яф1э1эф1щ,
Къыхуагъуэтри нэхъ бзэ 1эф1щ.
Дыщэ к1анэу драдзей,
Т1эк1у ешамэ ягъэжей. (сабий).
в) Банэ топу зи пэр т1ей. (цыжьбанэ).
г) Зи пкъыр щ1ым щ1элъ, зи щхьэцыр дунейм телъ. (пхъы).
д) Зи губгъуэр хужь, зи жылэр ф1ыц1э. (тхылъ).
е) Уеплъмэ гъуджэ, уеджэм дэгу. (мыл).
ж) Зэшищ зы пы1э ящхьэрыгъщ.(1энэ).
и) Зи къуэпсыр дуней псом лъэ1эс. (дыгъэ).
к) Дунейм тет псор зыгъашхэ. (щ1ы).
4. Джэгук1эхэр:
а) К1апсэк1э зэпегъэкъун.
б) «Пы1э къуэдзэ». (Адыгэ джэгук1э).
5. Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ
«Си Хэку». Аф1эунэ Л.
Уэрэд «Адыгэ Хэку».
6. Къафэ. (сабийхэр къофэ).
Егъэджак1уэ: Ди нэтыным и к1эухыу ц1ык1ухэм зыкъыфхуагъэзэнущ хъуэхъу
псалъэк1э:
Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм:
Фи гъащ1эр к1ыхьу,
Фи нэмысыр лъагэу,
Фи насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу, Гухэхъуэр фи куэду,
Фадэбжьэр зефхьэфу,
Пшэрыхьыр вгъэвэфу.
Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!