Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-
ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ
дызытетыр.
Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар
Налшык къалэ
31 – нэ курыт еджап1эм
адыгэбзэмрэ литературэмк1э
и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.
Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,
Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,
Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,
Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.
Щ. С.
Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей — Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.
Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.
Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.
Алий и тхыгъэхэмк1э къэбэрдей литературэр гъуэгушхуэ, гъуэгу тэмэм тригъэуващ. Щоджэнц1ык1ум и 1эдакъэщ1эк1хэр тхылъеджэхэм гунэс ящыхъуныр къэзышар усак1уэм и талантырщ, къи1эта 1уэхугъуэхэм я инагъымрэ ахэр тэмэму зэрызэпкърихамрэщ, зыхэпсэухьа гъащ1эм зэрыдэушарщ, и тхыгъэ гъуэзэджэхэр зэрыкупщ1аф1эрщ. Щоджэнц1ык1ум и гупсысэмрэ и къалэнымрэ куэдым нэсащ. Алий ф1ыгъуэу илэжьахэм ящыщ зыщ и геройхэм я гумрэ я псэмрэ я щытык1эр, абыхэм я гуращэр, я гуапэр е я гуауэр къэбэрдей литературэм япэу зэрыщигъэлъэгъуар. Абы и «Къамботрэ Лацэрэ» романым къегъэлъагъуэ патриорхальнэ – феодальнэ щытык1эм Къэбэрдейр щитам ди ц1ыхухэм я псэук1ар, пщыхэмрэ пщыл1хэмрэ яку дэлъа зэныкъуэкъуныгъэр; «Мадинэ» поэмэр адыгэ унагъуэм, абы илъа хабзэм теухуащ; «Тембот и дыгъуасэхэм» къэбэрдей мэкъумэшыщ1эхэм Дзэлыкъуэ къыща1эта восстанэм щыгъуазэ дащ1; «Ныбжьыщ1э хахуэ», «Партизан Жамбот» поэмэхэм ди хэкум граждан зауэр зэрыщек1уэк1ар, нэгъуэщ1хэри.
Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.
Щоджэнц1ык1у Алий и бзэр дахэщ, къулейщ. Сэ изогъэщхь ар макъамэ гуак1уэ зыщ1элъ уэрэдым. Щоджэнц1ык1ум щхьэк1э куэдрэ жа1эу зэхыбох : « усак1уэ 1эзэщ». Ауэ, сэ къызэрыслъытэмк1э, Алий дежк1э ар мащ1эщ. Ар псалъэм и художник 1эзэм къыщымынэу, гъащ1эм куууэ пхырыплъыф ц1ыху щыпкъэщ.
Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.
Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.
Нобэ Алий тхэмытыжми,
Псоми ди гум 1эф1у илъщ.
Къигъэнауэ и лэжьыгъэр
Усак1уэшхуэм и фэеплъщ.
Гъу. Хъу.
Щоджэнц1ык1у Алий хузоус.
Адыгэ хэкуу си лъахэм
Алий ц1эр лъагэу ща1этыр.
Усак1уэ иным уэ птхахэм
Кавказ щ1ыналъэр щолъап1эр.
Уи тхыгъэф1 куэдхэу къэнахэм
Псэщ1э ц1ыху псоми яхелъхьэр.
Уи усэ шэрыуэхэр зыджахэм
Сэри сащыщщи согуф1эр.
Уи повесть дахэхэм уеджамэ,
Мыбэяуж гу къеуэр щ1эх.
Гукъыдэж пщ1ыуэ, ут1ысамэ,
Узэ1эпешэ, удехьэх.
Уэ уэщхьу дахэу сытхэфамэ,
Ар насыпышхуэу сэ сыбжынт.
Уэ пхуэдэ тхак1уэ здэнт сыхъуамэ,
Сэ усэ тхынк1и с1уэтэжынт.
Мы гъащ1э 1эф1ым утемытми,
Сыт щыгъуи ди гум ущопсэу.
Мы ди зэманым ухэмытми,
Уи тхыгъэр куэдрэ тхурепсэу.
Обновлено: 11.03.2023
Унэ лэжьыгъэу фи1ащ Хьэнфэн Алим и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ теухуауэ вгъуэтым феджэну.
-Ат1э, хэт сыт еджа?
-Хэт сыт къыджи1эфыну?
Хьэнфэн Алим Мэзан и къуэр 1922 гъэм Къэрэшей –Шэрджэс республикэм щыщ Ботэщей къуажэм къыщалъхуащ. Абы пэщ1эдзэ еджап1эр къиуха нэужь,1934 гъэм колхоз щ1алэгъуалэм щхьэк1э къызэрагъэпэща еджап1эм щ1эт1ысхьэри е 5-6 нэ классхэр къыщиухащ Иужьк1э Черкесск къалэм дэт школ-интернатым щеджащ, егъэджак1уэ курсыр къиухри 1939-1940 гъэхэм пэщ1эдзэ классхэр иригъэджащ.
-ирикъун, адэк1э хэт пищ1эн.
1940гъэм Алим Грознэ дэт авиашколэм щ1от1ысхьэ,ауэ Хэку зауэшхуэр къожьэри, школыр къимыухыу Совет Армэм мак1уэри 1945 гъэм и к1эм нэсыху абы щы1эщ. Л1ыхъужьыгъэ хэлъу нэмыцэ зэрыпхъуак1уэхэм зэрапэщ1этам папщ1э абы къыхуагъэфэщащ правительственнэ орденхэмрэ медалхэмрэ.
Ирикъун, адэк1э хэт?
Зауэ нэужьым Алим Малэ Зеленчук илъэсибл еджап1эм егъэджак1уэу щолажьэ. Алим сыт хуэдэ къулыкъу игъэзащ1эми гупщысэ гъуэгум техьа и гум махуэ къэс усыгъэр лъэщу къыщызэщ1эрыуэт.
Алим и япэ усэр дунейм къытехьащ 1947 гъэм. Абы пасэу къыгуры1уащ укъыщалъхуа Хэкум нэхъыф1 зэрыщымы1эр. А илъэсхэм къыщегъэжьауэ Хэкур зэи мыужьыхыж образ уардэу Алим и усэхэм хохьэ.
1948 гъэм къыщыщ1эдзауэ Хьэнфэныр щолажьэ адыгэбзэмк1э къыдэк1 газетым, тхылъ тедзап1эм, радиокамитетым.
1962-1964 гъэхэм Мэзкуу дэт литературнэ курс нэхъыщхьэхэм щоджэ.
1955 гъэм дунейм къытохьэ. Абы и ужьк1э зыр зым к1элъык1уэу усыгъэхэр зэрыт тхылъипщ1ым щ1игъу къыдэк1ащ.
Алим и тхыгъэ зыбжанэ урысыбзэк1и нэгъуэщ1 лъэпкъхэм я бзэк1и зэрадзэк1ащ, и рассказ купщ1аф1эхэр зэрыт тхылъ щхьэхуэу къыдэк1ащ. Ди лъэпкъ критикхэмрэ щ1эджык1ак1уэхэмрэ Алим и 1эдакъэщ1эк1хэм пщ1эшхуэ хуащ1.
-Нобэ дэ дджынущ, зэпкърытхынущ ХЬ. А. и усэхэр
Дэтхэнэ ц1ыху лъэпкъым езым и хабзэ щхьэхуэ и1эжщ. Хабзэм ц1ыхухэр зэгурегъа1уэ.Ди адыгэ хабзэм и фащэ нэхъыф1 дыдэр нэмысырщ.Адыгэ хабзэм ,адыгагъэ зыхэлъхьэным ,адыгэ нэмыс пхэлъыным мыхьэнэшхуэ ирет.Адыгэхэр зэрыщытын хуей псори,хэлъын хуей хьэл-щэн псори нэмыс псалъэм хэлъщ. Абы къызэщ1еубыдэр ц1ыхум и щ1ыхьыр, и щхьэм хуищ1ыж пщ1эр, захуагъэр,пэжыгъэр.
Ук1ытэ пхэлъыныр , нэхъыжьыр гъэлъэп1эныр, сабиим хуэсакъыныр,адыгэ напэр, гу къабзэ уи1эныр,ц1ыху хуэдэ ц1ыхум уахэтыныр.
_Нэмысым теухуауэ сэ сыкъыфхуеджэнщ Шорэ Хьэсин усэбзэк1э адыгэ нэмысыр зыхуэдэр зэрыжи1эм.
-Нт1э, адыгэхэм куэду нэмыс зыхэлъ ц1ыхумхужа1эр хэт къыджи1эн, сыт дызэреджэр?
-Ар зыхэмылъым сыт хужа1эр?
-сыт хуэдэр нэхъыф1 къыпхужа1эныр?
Иужьрейр къыпхужа1эныр емык1ушхуэ хэлъщ,щхьэк1уэщ,ц1ыхум и щ1ыхьыр зыгъэц1ык1ущ. Аращ дэтхэнэ адыгэри щыц1ык1ум къыщыщ1эдзауэ нэмыс зыхилъхьэным, ар зэрихъумэным щ1ыщ1экъур.
-нэмысыф1эм гъэсэныгъэ дахэ хэлъщ. Ар гуапэщ хьэтырыф1эщ, къабзэщ, л1ыгъэ хэлъщ, ц1ыхугъэ, адыгагъэшхуэ хэлъщ, щхьэщытхъукъым.
Иджы нэмысым теухуауэ псалъэжь тщ1эхэр къыжыт1энщ, хэт сыт иц1ыхурэ?
-Унэм зыщыгъаси хасэм яхыхьэ.
_Нэмыс зи1эм насып и1эщ.
_Уи щхьэм хуэпщ1ыжыр уи нэмысщ.
-Нэмысым насып къыдок1уэ.
_Дахэр зыгъэдахэр и щэнщ.
_Уи псалъэ гъэ1эси уи нэмыс гъэбыдэ.
_Фащэм я нэхь дахэр ук1ытэрщ.
_Уи щхьэ ущымытхъуж, уф1мэ ,укъалъагъунщ.
-Бзэ гуры1уэгъуэк1э тха мы усэ хьэлэмэтыр теухуащ адыгэхэм ди зэхэтык1эф1ыр, ди хабзэм, нэхъыжь-нэхъыщ1эк1э щхьэж хуэфащэ пщ1э зэрыхуащ1ым (а щапхъэхэр къагъэгъуэтын
- Для учеников 1-11 классов и дошкольников
- Бесплатные сертификаты учителям и участникам
Сыт хуэдэ ц1ыхуу щыта К1ыщокъуэ Алим?
Алим и гъащ1эр нэхъ куууэ джын, ар адрей адыгэ усак1уэ-тхак1уэхэм къазэрыщхьэщык1ыр къэхутэн.
Иужьк1э адыгэ литературэ урокхэм къагъэсэбэп хъуну презентацэ гъэхьэзырын к1ыщокъуэм и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ теухуауэ.
поисково-исследовательской деятельности.
Темэр актуальнэу (ди зэманым къезэгъыу) щ1ыщытыр: К1ыщокъуэ Алим псом нэхърэ нэхъыбэ зыхузэф1эк1а, гъащ1эщ1эр япэк1э зыгъэк1уэта ц1ыхущ. Апхуэдиз лъэк1ыныгъэ зи1а ц1ыхум удимыхьэхынк1э 1эмал и1экъым.
Мы темэр къыщ1ыхэсхар: Дэтхэнэми Алим и творчествэм зэрыхыхьэу адрейхэм къыщхьэщызыгъэк1 гуэр зэрыхэлъым гу лъитэну щытщ. Абы и гъащ1эр псори тхылъ хьэлэмэтым хуэдэу зэхэлъщ. Си лэжьыгъэмк1э сэ псоми язгъэлъэгъуну сыхуейщ апхуэдэ ц1ыхухэр ьозэрымащ1э дыдэмрэ абы и ц1эр зэи зыщыбгъэгъупщэ зэрымыхъунумрэ. нэхъ гъэщ1эщ1эгъуэныжу мы 1уэхугъуэм хэлъыр К1ыщокъуэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщ1эху пщ1эр нэхъ мащ1э хъууэ къызэрыпщыхъурщ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр –
А гъэр мыгувэу езыр къэсынущ.
Бжьыпэр зыIыгъым къыIэщIихынурэ,
Зыри зимыIэм къылъигъэсынущ.
«Нобэ щэ хъунут», — сэр папщIэ жаIэу
Iэнэ тIысыни хэкум исынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.
Къуалэбзу цIыкIухэм, хъуми нэхъ мащIэ,
Абгъуэ ди жыгхэм къыпащIыхьынущ.
IукIэ шхын къахьыу шырхэр ягъашхэу
Си уэрэд Iыхьи бзухэм къахьынущ.
Я ней къыстехуэм сагъэгумэщIу
Си ужь итари къэсэхыжынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.
Гъэмахуэ шылэу дуней дахэгъуэу,
Жыг хадэм уисмэ, псэм зигъэпсэхуу
А махуэм тохуэ сыкъыщалъхуари –
Уафэри гъуагъуэу уэшри къежэхмэ,
Псы къэмыжари диным икIынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.
Иреуэлбанэ е иребзыгъэ,
А махуэм бзухэр абгъуэ исынкъым,
ВакIуэ дэкIыгъуэм жаIа уэрэдхэр
Ягу къэмыкIыжу яхуэшэчынкъым.
Iугъуи жьэрыми зэхэзэрыхьрэ
КъысщIихьэ закъуэм сыкъэтIысынущ.
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.
А пIалъэм си бзэ сызэрыпсалъэр
Лъапэ зэвыпIэ иувэпэнкъым.
Си лъэрыгъыпсыр зыубыдахэм
Ящыщым я лъэр ягъэбыдэнущ.
Уэрэд къыхадзэм зэрыгъэгушхуэу,
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.
Дунейр абдежи яфIэщIэщыгъуэу
Игъуэ нэмысу Iэджи кIуэдынущ.
Си гузэвэгъуэр гъыбзэу жаIэнущ.
Си илъэсищэр пхуэмыгъэныщкIуу,
Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр
УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.
Дэнэ ик1и дапщэщ къыщалъхуа К1ыщокъуэ Алим?
К1ыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр къалъхуащ июлым и 22, 1914 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм.
Усак1уэм и гукъэк1ыжхэр:
Пэж дыдэм фыхуеймэ, сэ зы илъэс щ1ызгъуащ си ныбжьым, 1931 гъэм Северо-Кавказскэ институтым сыщ1эт1ысхьэри 1935 гъэм къэзыухащ. Институтыр къэзуха нэужьи щ1алэ1уэу сызэрыщытынур сигу къеуэрти, си ныбжьым илъэс щ1ызгъури,1914 гъэм июлым и 22 сыкъалъхуауэ езгъэтхащ.
К1ыщокъуэр щеджа щ1ып1эхэр.
Ар илъэсит1к1э къуажэ школым щеджащ. Шэщу щыта еджап1эр апхуэдизк1э к1ыф1 хъунти, Алим игу ирилъхьат хузэф1эк1 хъумэ щхьэгъубжищ хэлъу школ ищ1ыну. Игу илъари къехъул1ащ К1ыщокъуэм. Щхьэлыкъуэ къуажэм школыжьым и п1эк1э щ1эуэ дащ1ыхьа еджап1эшхуэм Алим и жэрдэми и мылъкуи хэлъщ ик1и езым и ц1э зэрехьэ.
Усак1уэм и гукъэк1ыжхэр:
Зэхэсщ1ыхьар си адэм къыщищ1эм, ар къызэшхыдакъым, зыри къэмыхъуа фэр зэтригъэуащ. Сыкъызэрык1уэсэжар гуапэ щыхъуа хуэдэу жи1ащ: «Куэду ф1ыщ! Дыгъуасэ Хьэщыкъуейр къызэлъэ1уат л1ыщ1эу щ1алэр естыну. Иджы ар абы деж ирек1уэ бжэныхъуэу.» Кулакым и деж щыл1ыщ1эныр зищ1ысыр сщ1эрти, а дакъикъэм дэзгъэзык1ри сыкъызэрык1уэсэжам нэхърэ нэхъ псынщ1эжу Бахъсэн школым сык1уэжащ.
Алим къызыхэк1а унагъуэр.
Алим и адэ Пщымахуэ и зэманым елъытауэ щ1эныгъэф1 зи1э л1ыт. Абы егъэджэн 1уэхум ф1ыуэ хищ1ык1ырт, тхыдэм, есэпым, хабзэ-бзыпхъэм хъарзынэу щыгъуазэт, диным хуеджат , хьэрыпыбзэк1и урысыбзэк1и псалъэрт ик1и тхэрт.
И щ1алэгъуэм сыт хуэдэ теплъэ и1а Алим?
Фэшхуэ-лышхуэ зэримы1эмрэ езыри зэрымылъагэ дыдэмрэ щхьэк1эт К1ыщокъуэм зы илъэск1э нэхъыжьу зыщ1ригъэтхар. Ауэ.
Усак1уэм и гукъэк1ыжхэр:
Сэ нэхърэ нэхъыжьхэр езгъаджэу щ1эздза нэужь а езгъаджэхэм дзыхьыщэ къызэрысхуамыщ1ым къыхэк1к1э зыпхагъэ1ук1ыу щ1адзащ «Мор зи ц1ык1уагъым сытым дыхуригъэджэфын?» Зэпхрыгъа1уэк1ым имызакъуэу ауан сыкъыщащ1ыпи къэхъурт. Гъэмахуэм езгъэджэну зыхуашэса учителхэр урыс литературэмрэ урысыбзэмрэ езгъэджэну ст пщэм къралъхьауэ классым япэу сыщыщ1ыхьэм, езгъэджэну «Еджак1уэхэр» зэплъыжри дыхьэшхащ. Си нэщхъри зэхэзук1аи, «фысабыри» яжыс1аи, ауэ зэрызысщ1ым мо л1ы хэк1уэта къомыр нэхъри игъэдыхьэшха ф1эк1а зыри къик1акъым. Къуажэ егъэджак1уэхэм ящыщ зы л1ы к1ыхь гуэрым псори зэтригъэувы1эри доскам згъэк1уэну къызэлъэ1уащ. Ауан сыкъищ1ынк1э шэч хуэсщ1тэкъыми, ар доскам къыдэсшащ. А «еджак1уэ» къыдэсшар къызбгъэдэувэри сэ къысхуеплъыхыу къыщыувым сэри сыхудэплъеящ. А л1ы к1ыхь дыдэмрэ сэ ц1ык1у дыдэмрэ апхуэдэу дызэплъу дыкъыщалъагъум классым щ1эс псори къыщиудащ. Гупым задезгъэк1ун ф1эк1а нэгъуэщ1 къысхуэнэжатэкъыми, сэри сыдыхьэшхыу щ1эздзащ. Абы и ужьк1э сэ гук1э сакъыхуеджащ «Евгений Онегин» романым щыщ пычыгъуэхэм, Пушкиным и творчествэр зищ1ысыр, абы и мыхьэнэр яжес1ащ. Адэк1э ауан лъэпкъ ди яку дэмылъу курсыр едгъэк1уэк1ащ.
И япэ тхыгъэхэр
Усак1уэм и гукъэк1ыжхэр: Сэ пасэу щ1эздзащ усэ тхыным. Бахъсэн Мэкъумэшхозяйственнэ школым сыщыщ1эсам стхауэ тетрадь зыбжанэм ярыз си1ащ, ауэ ахэр зыми езгъэлъагъуакъым. 1931 гъэм къыдэк1а учебникым си усэхэм щыщ техуащ, абы къыхэк1к1э усэ зэрыстхымк1э зызмыумысыжу хъуакъым.
Усак1уэм гулъытэ ин хуещ1 пщ1эм, нэмысым гъащ1эм щытепщэу щытын хуей зыхущытык1э дахэм, ц1ыху псэ хьэлэлхэм яку дэлъын хуей хъэл-щэн гурыхьхэм ик1и къинэмыщ1 1уэхугъуэхэми.
Сывохъуэхъур гъуэгум тетым,
Фи гъуэгуанэр ирепсынщ1э,
Анэу гущэр щ1эзыупск1эр
Псыуэ къажэм я нэхъ уэрыр
Ухъу, фыхуеймэ, псы 1умп1аф1э.
Зауэм 1утыр хъуа у1эгъэ-
Ухъу зауэл1ыр хъужык1аф1э.
К1ыхьщ зауэ гъуэгур.
К1ыщокъуэ хэтащ Хэку зауэшхуэм (1941-1945). Зауэм теухуа тхыгъэ куэди итхыжащ. А тхыгъэхэм укъыщеджэк1э гуры1уэгъуэ дыдэщ абы а зауэр зэи и нэгу зэрыщ1эмык1ыжыр. Ар хэтащ 115 кавалерийскэ дивизэм. Тхыдэм зы мащ1э ф1эк1 хэзымыщ1ык1ми, а дивизэм теухуауэ зымыщ1э щы1эу къыщ1эк1ынкъым.
Япэ махуэхэм къыщыщ1эдзауэ зауэр иухыху, 1утащ ар зэуап1эм псэемыблэжу. Ар япэ щ1ык1э щытащ ротэм и командиру, ит1анэ 115-нэ шууей дивизием и офицер хахуэу. Нэхъ иужьы1уэк1э, СССР-м и Тхак1уэхэм я союзым зэрыхэтыр къалъытэри, ар фронтым 1утхэм папщ1э къыдэк1 «Сын отечества» газетым къулыкъу щищ1эну ягъак1уэ. Хэку зауэшхуэм Алим къик1ыжащ майору, зэрихьа л1ыгъэм къыпэк1уа орден, медаль зыбжанэ и бгъэм хэлъу. Зауэ зэманым абы зэрихьа л1ыгъэмрэ хахуагъэмрэ и щапхъэщ иджыри усак1уэм и 1эдакъэ къыщ1эк1а военно-патриотическэ лирикэр(апхуэдэ усэхэр 60-м щ1егъу).
Къытпоплъэр зауэр дэ пщэдей.
Мырщ ди къалэныр абы дей:
Бийм дытек1уэн е дык1уэдын. —
зэрыхъур умыщ1эу уи гум хохьэ сэлэт нэсым и псалъэхэр.
Псэзэпылъхьэп1э куэд ихуа, гъащ1эм и уасэр ф1ыуэ къэзыщ1а усак1уэм и 1эдакъэ къыщ1ок1 зауэм и пэжыр нахуэ къытщызыщ1 тхыгъэхэр: «Си фочым 1эпл1э есшэк1ауэ», «Сэлэт сэлам», «Сэлэт шырыкъу», «Зэкъуэшит1», «Нып», нэгъуэщ1 куэди.
Зы уси и1эу къыщ1эк1ынкъым Алим зыгуэрым ухуимыущийуэ, ухуимыгъасэу. Дыкъызыхэк1а лъэпкъыр тщ1эжу, абы хуэфэщэн пщ1э хуэтщ1ыфу, гъуэгуанэ гугъу къызэринэк1ам дриплъэжрэ абы и л1ыгъэр зыдынэсыр къэтхутэфу, ахэр дэ щапхъэ тхуэхъуу дыпсэун хуейщ.
Зауэ нэужьым.
Зауэ нэужьым, 1945 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым еджэныгъэм и министр ящ1ащ. Мамыр лэжьыгъэм пэрыувэжами Хэку зауэшхуэр щыгъупщакъым. Алим игу зэрырилъхьа дыдэу и тхыгъэхэм зауэм и гугъу щищ1ыжыщ.
К1ыщыкъуэр ныбжьэгъу пэжт.
Зауап1эм лъыпсыр къыпыжу къыхихыжа балъкъэр усак1уэ Къайсын Кулиевыр псэуху и ныбжьэгъуащ. Ныбжьэгъугъэм и лъап1агъэр къызыхэщ усэхэр итхащ «Ныбжьэгъум и 1эхэр», «Атакэм и пэк1э» нэгъуэщ1хэри.
К 1ыщокъуэр уэрэдусщ.
К1ыщокъуэ Алим уэрэдусу зыщ1ып1э школым щрагъэджхэм къыщыхэщу згъуэтакъым. «Телъхьэ уанэр си шым» уэрэдыр
Щ1алэгъуэ махуэ нэхърэ — жьыщхьэ махуэ.
Жьыщхьэ махуэ хъуащ Алим. Ф1ыуэ илъагъуу къиша щхьэгъусэм бынищ дигъуэтащ. Псоми гъащ1эм увып1э зырыз ща1эщ. «Адэф1 къуэф1 хуэщкъым» псалъэжьыр К1ыщокъуэхэ я унагъуэм епхьэл1энк1э 1эмал и1экъым.
К1ыщокъуэм пщ1эрэ щ1ыхьрэ и1ащ.
Гъащ1эм нэхъыбэрэ къыщыхъур л1ыхъужьыр щымыпсэужым ягъэлъап1эущ. Ауэ К1ыщокъуэр псэу щ1ык1э зауэм къыщихьа дамыгъэ лъап1эхэр хэмыту и гуащ1эдэк1ымк1э орден зыбжанэ, дыщэ медаль къыхуагъэфэщащ. Ар Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтым и лауреатщ, Социалист Лэжьыгъэм и Л1ыхъужьщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ц1ыхубэ усак1уэщ. Апхуэдэу ягъэлъэп1а усак1уи тхак1уи ди1акъым адыгэхэм. К1ыщокъуэм и фэеплъ сыни щыхуагъэувыжащ Налшык къалэм.
Псэу л1а нэхърэ л1а псэу!
И псэр пытыху, зэрыжа1эу Алим и гур творчествэм е тауэ щытащ. И ныбжьыр илъэс 87-м иту 2001 гъэм январь мазэм и 29-м Алим дунейм ехыжащ.
Езым къигъэна и уэсятым ипкъ итк1э, ар Москва кърашыжри къуажэкхъэм, и адэ-анэр, и къуэшыр зыщ1элъым, щыщ1алъхьэжащ.
2. Зауэ зэманым Алим ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуа усак1уэ .
2. Зауэ зэманым Алим ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуа усак1уэ.
3.Алим и адэц1эр.
Щ о дж э н ц1 ы к1у
2. Зауэ зэманым Алим ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуа усак1уэ.
3.Алим и адэц1эр.
4.Алим и 1устазу щыта усак1уэр.
Щ хь э л ы къу э
2. Зауэ зэманым Алим ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуа усак1уэ.
3.Алим и адэц1эр.
4 . Алим и 1устазу щыта усак1уэр.
5.К1ыщокъуэр къыщалъхуа къуажэр.
2. Зауэ зэманым Алим ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуа усак1уэ.
3.Алим и адэц1эр.
4.Алим и 1устазу щыта усак1уэр.
5.К1ыщокъуэр къыщалъхуа къуажэр.
Жэуапхэр пэжмэ, къехыу дыкъеджэнущ Алим и унэц1эм.
Сатырыр и к1эм нэгъэсын
к1уэхэр аркъудейщ.
2. Насып жыхуа1эр уэ зэгъащ1э
щ1экъуныр арщ насыпыр.
3. Ф1ым хущ1экъуу ц1ыхур псэумэ,
псэунур псэук1аф1эу.
4. Абы шырыкъур сэ нэсхьэсмэ,
сщ1ынущ ислъэмей.
К1ыщокъуэ Алим мы усэхэр зыхуитхар хэт?
Усэ къарук1э бийр бгъэсу
Лъагъуэ насыпым хуэпщ1ат, Уигу щыплъэм уи 1эр нэмысу
Хэщ1ап1э дэнэ щыпщ1а?
Щоджэнц1ык1у Алий
Уи ц1эр щра1уэ Индие дыдэм.
Пхуэдэ щымы1эу ушу ябгэщ,
Уи къамэр мазэу пшэм хуолыдэ.
«Расул Гамзатов
Зы гъуэгу дэ т1ури дытехьащ.
Дыкъащтэу тщ1акъым зыми к1эбгъуи,
Гугъуехь тхуэфащэр т1уми тхьащ.
И жьэгу удэсу уигъэщ1а?
Исмэхьил-Беик1 к1эщ1т и гъащ1эр
Арщхьа ц1эры1уэ уэрщ зыщ1ар.
Уи нэпсхэр зэпе1эу,
Уигу щабэр къолъэт.
Шыпхъу ц1ык1ухэм яжо1эр:
Уи нак1эу зэлъахэм
Нэпс тезу лъэр йощ1.
« Сэ усэбзэм и 1эф1ым сысабий щ1ык1э гу хуэсщ1амэ, таурыхъхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ пасэу сыдахьэхамэ,
Щ1ы щтари мэгыз,
Уэс къесым есей.
А уаем сэ си гур
Уэ ф1ыуэ солъагъури,
Ар плъэмэ — и къуэр къэк1уэжауэ
Вагъуиблу хэлъым дыщи хэтщ.
Си гъунэгъуу къак1уи уэ къэт1ысыт,
Къащтэ дзасэр, лыпц1эр сэ сгъэжьэнщ.
зэрипхъуащи уи унэр, —
Анэм ар же1э,-си щ1алэ,
Ущысп1а жьэгур маф1эншэщ,
Шэс зумы1эжьэу пщ1эгъуалэм.
Си анэр гъыуэ къыск1элъык1уэу:
Щыжи1эм сщ1акъым и лъап1агъэр,
Иджы 1эфрак1эм содзэкъэж…
А си анэ дыщэуэ,
А си дыщэ к1анэ.
Псалъэжьхэр
Унэ лэжьыгъэ:
1) Анэм теухуауэ К1ыщокъуэ Алим итха усэхэм гъэхуауэ, зыхэщ1эгъуэу къеджэн.
Презентация на тему: » И гъащ 1 эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ. К 1 ыщокъуэ Алим и гъащ 1 эр К 1 ыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэр къалъхуащ июным и 9 (22), 1914 гъэм Щхьэлыкъуэ.» — Транскрипт:
1 И гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ
3 Шу К1ыщокъуэм и творчествэм зыпымыууэ дызыщрихьэл1э шум и образыр куууэ ик1и гъунапкъэншэу зэрыщытыр къыдгуры1уэн хуейщ: ар зэщхьыр увы1эгъуэ зимы1эу к1эрахъуэ дунейращ, ауэ щыхъук1и нэр темыпы1эу гъуэгум тетщ а шур, ар зэрымыувы1эм хуэдэу, езы усак1уэм и акъылымк1э, и псэмк1э къигъэщ1 л1ыхъужьхэми увы1эгъуэ я1экъым. Ахэр къэувы1эмэ дунейр, гъащ1эр псэншэу я п1эм къина пэлъытэщ. Апхуэдэ гупсысэращ К1ыщокъуэм и шум дызыхуишэр. Алексеев Михаил.
4 Лъэужь махуэ К1ыщокъуэ Алим и псэ емыблэжу, пэжым и телъхьэу, л1ыгъэшхуэ зэрихьэу ди литературэм хуэлэжьащ. Ар тетхыхьащ езыр къызыхэк1а лъэпкъым, абы къик1уа гъуэгуанэ гугъум, нобэрей гъащ1эм. Къэралым и пащхьэм щи1э ф1ыщ1эм папщ1э, и гуащ1эдэк1 хьэлэлым, лъэпкъыбэ щэнхабзэм хилъхьа гуащ1эм, лъэпкъхэм, яку дэлъ ныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымк1э хузэф1эк1а лэжьыгъэм къыпэк1уэу, абы къыф1ащащ Къэбэрдей – Балъкъэрым и ц1ыхубэ усак1уэ, Социалист Лэжьыгъэм и Л1ыхъужь ц1э лъап1эхэр.
5 Куэд щ1ащ утыкушхуэ зэрихьэрэ К1ыщокъуэ Алим игук1и и псэк1и адыгэл1щ, ауэ и къалэмыпэм къыщ1эк1 усэ сатырхэр къызыхэк1а лъэпкъым и шыфэл1ыфэр къэгъэлъэгьуэным къыщызэтеувы1эркъым: абы и усэхэм гукъинэжу нэрылъагъу ящ1 ц1ыхум и гьащ1эр, и дунейр, ар емышу 1уэхугьуэщ1эхэм зэрыхущ1экъур, мурад инхэм зэрыщ1эбэныр, абы и пщэдейр зэрызэ1убзыр. ГРИНБЕРГ Иосиф.
6 Хамэ хэгъуэгухэми щыц1эры1уэщ Удилъап1эщ, удигуапэщ, удидамэщ. Кавказым ис ди лъэпкъэгъухэм хуэдэу, Сирием щыпсэу адыгэхэри абхъазхэри къыбдогуф1э, Алим! АБАЗЭ Шэрэф, Дамаск дэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ гьэ. Уи ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъуамк1э я гумрэ я псэмк1э къохъуэхъу Тыркум ис адыгэхэр, зэгуэр Кавказыр зрагъэбгынауэ щыта адрей лъэпкъхэри. Дэ уэ куэд щ1ауэ удигъусэщ, гузэвэгъуэ дихуамэ, укъыддогузавэ, ди гуф1эгъуэмэ, укъыддогуф1э. Зэи дыкъэбгъэнакъым гулъытэншэу. Уи тхыгьэ хьэлэмэтхэмк1э дуней псом къебгъэц1ыхуащ адыгэр, дызыхэс лъэпкъхэм я деж ди щхьэр лъагэ щыпщ1ащ, ди щ1ыхьыр къыщып1этащ. АДЖАШЭ Мухьэдин
8 Анэдэлъхубзэм папщ1э имыщ1эн щы1этэкъым К1ыщокъуэ Алим дежк1э анэдэлъхубзэр ауэ зэрыпсалъэ, Зэрыхэпсэук1ын Зэрызэригъэпэщ 1эмэпсымэкъым, ат1э псэм и зы 1ыхьэщ, езы дыдэм и ц1эр зыгъэ1ури а бзэращ. Ауэ бзэр ар зи 1эщ1агъэм ищ1эн хуейуэ, адрейхэр абы хуэмейми хъуну аракъым: Бзэ зимы1эр, Щ1ылъэм тетми, Хуэдэ къабзэщ Къамылъхуам.
9 К1ыщокъуэ Алим и тхыгъэхэм теухуауэ Алим и 1эдакъэ къыщ1эк1а дэтхэнэ зы тхыгъэри ещхьщ ди къурш щхьэ тхъуахэм телъ уэсым, ди щ1ыналъэм къыщешх уэшх хуабэм, ди губгъуэхм къыщык1 удз гъэгъахэм, ди псыхъуэхэм дэлъ мывэ хьэлэмэтхэм, ди псы уэру зи къарур мык1уэщ1ыжхэм. Дэтхэнэ зы тхылъыщ1эри тынш ц1ык1уу къехъул1акъым Алим. Зауэм и маф1элыгъэм къилыгъуауэ, гузэвэгъуэ 1эджэм и гур ираудауэ, и ныбжьэгъу балъкъэрхэм къатепсыха гуауэшхуэм иужьыгуауэ и дуней гъащ1эр кърихьэк1 пэтми, Алим а псоми къелащ, къела къудейкъым, — абы дыгъэу къохъул1э 1уащхьэмахуэ щыгур пщ1эрэ щ1ыхьк1э къылъызыгъэсыну тхылъыщ1эхэр… Езы Алим щыслъагъук1и, абы и тхылъым сыкъыщеджэк1и, си нэгу щ1этщ Кавказым и къурш уардэхэм я бын бгырыс л1ы щэджащэм и теплъэр. Гулиа Георгий.
10 Ц1ыхухэм пщ1эшхуэ хуащ1
11 Къэбэрдей-Балъкъэрым и Унаф1эщ Мэлбахъуэ Тимборэ КъБАССР-м и Щ1ыхь тхылъыр кърет
Читайте также:
- Какие вечные вопросы поднимает державин в своих стихотворениях сочинение
- Сочинение поездка на азовское море
- Адэ щ1эин мылъку хъурэ сочинение
- Потеря самого себя сочинение
- Мне суждено было сделаться народным учителем в самое лихое время жизни егэ сочинение
Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.
Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.
Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.
Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.
Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?
Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.
Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.
«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.
Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.
Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .
Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…
Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.
Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…
Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.
Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.
Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:
Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,
Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,
Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…
Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.
Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.
Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».
Адэк1и щ1оупщ1э:
«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?
Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,
Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»
Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.
Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.
Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:
Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!
Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!
Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.
1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.
Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.
Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:
Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!
Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.
Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей
Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.
Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,
Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.
Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.
Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.
Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!
Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.
Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.
Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.
1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.
Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу
«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э
Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.
Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!
Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.
Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э
Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.
Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм
зылI и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр
яхъумэжу. Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я
гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс
пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.
Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.
Cи
хэкууэ дыщэ губгъуэ,
ГъащIэщIэм
и епэр!
Кавказым
и щIы
фIыгъуэ,
Уи
теплъэм IэфI
ещI
псэр!
Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу
услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ
псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.
Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цIыхухэм я гъащIэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум
папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.
Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.
Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ
къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэкIэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр
зыщыхуарзэ хэкужьым къэмыкIуэным щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм
зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын
хуейщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди
хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.
Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уэгум сихьамэ,
щIылъэр си плъапIэщ.
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уи лъахэм ситмэ,
Дунейм сытеткъэ.
Уи къалэ щхьиблым
Зыкърагъэщхьу,
Вагъуэзэщиблыр
жэщкIэ зэщIоблэ.
А блым еянэу,
Нэхъ ябжьэфIэкIыу
Си гурыфIыгъуэр
Адыгэ хэкукъэ.
Уи нэр зыдэплъэм
Уи лъэр лъоIэсыр.
Къырым илъ дани
УлъэIэсакъэ.
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уи лъахэм ситмэ,
Дунейм сытеткъэ.
«Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».
Зэрыжы1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
«К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» – аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Хэк1ащ апхудэу адыгэм ди зы къуэш лъэпкъым и псэр. Зи гугъу сщ1ыр убыххэрауэ зэрыщытыр дауи къывгур1уа хъунщ. Адыгэ 1уэхум иригузавэ дэтхэнэ зы ц1ыхуми игур щ1эмыузынк1э 1эмал и1экъым мы л1акъуэ уардэм и щхьэм къырик1уа насыпыншагъэм. Убых лъэпкъым и гум къеуэным щ1ыщигъэтам щхьэусыгъуэ куэд и1эщ. Абыхэм ящыщщ ахэр псори Уэсмэн империе бзаджэм 1эпхъуэн хуей зэрыхъуар, абы 1эпхъуа нэужь зэрызэк1эщ1ачар, тыркухэм я къэралыгъуэм щыпсэу нэгъуэщ1 лъэпкъхэм егъэщ1ыл1ауэ ирагъэк1уэк1а политикэ гущ1эгъуншэр. А псори зэхыхьэжри убыххэр к1уэдыпащ. Тевфик Эсенч иужьк1э зыри а бзэ жьгъырумк1э ирипсалъэжакъым. Абдеж ди къуэш лъэпкъым и псэр хэк1ауэ ябжын щ1адзащ. Убыххэр езыхэр къапщтэмэ нэхъ адыгэ л1акъуэ инхэм ящыщу щытащ. А псори к1уэдыжауэ ф1эщ щ1ыгъуейщ. Дауик1 абы зыгуэр къэнащ, Тыркуми иджыри щыпсэууэ жа1э, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр псоми я1эщ1эхуа хъуащ. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ. Сыхуейт Иуан Бубэ и усэк1э сыухыну:
Уи анэбзэр гъаф1э.
Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1э
Пхуахъумам ар пэщ1.
Пхуахъумащ адэжьхэм
Бзэм я нэхъ къулейр.
Зи бзэ зымыджыжхэм
Зэи уадэмыплъей.
Зи бзэ хуэмеижыр –
Ар лъэпкъыншэ мэхъу.
Зи лъэпкъ 1уэху еижыр
Гъащ1эм къегъэщ1эхъу.
Бзэр 1эщ1ыбмэ – йобэ,
Мэхъу тэджыжыгъуей.
Ар тхъумэныр нобэ
1ущагъ псом я лейщ.
Адыгэбзэр гуапэщ,
Лант1эщ ик1и лъэчщ.
Дыгъэ налъэу хуабэщ,
Уи псэм и данлъэчщ.
Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1э
Пхуахъумам ар пэщ1.
Тенджыз ФIыцIэм и адрыщI лъэныкъуэмкIэ къыщыс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжщ адэжь щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къакIуэ, адыгэ Iуэхум телажьэ, зи хэкур зрагъэбгына ди адэшхуэхэм я фэеплъым хуэпэж цIыхухэр. Тыркум къыщалъхуауэ щыпсэу, зи IэщIагъэкIэ адвокат, адыгэм и тхыдэм, и псэукIэм, и натIэ хъуам теухуауэ тхылъ зыбжанэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа Тумэ Рэхьми Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжати «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къеблэгъащ. Сыт щыгъуи ди гуапэщ лъэпкъым и къуэ пажэхэр, километр мин бжыгъэкIэ дызэпэIэщIэми, адэжь хэкум зи псэр быдэу пыщIа ди лъэпкъэгъухэр фэдгъэцIыхуну. Рэхьми и къежьапIэм пэщIэдзэ хуищIыр и адэшхуэм и адэр хэкум икIауэ зэрыщытарщ, абы къыдалъхуахэмрэ абыхэм къалъхужахэмрэщ.
— 1867 гъэм си адэшхуэм и адэм хэгъуэгу унафэщIым тхылъ хущIилъхьат: «Си быныр си гъусэу Мэккэ сыкIуэу Бегъымбарым щхьэщэ хуэсщIэну, и кхъащхьэм Iэ дэслъэну хуит сыкъэщI», – жиIэу. А лъэIу тхылъыр сэ архивым къыщызгъуэтыжауэ сиIэщ. Исхьэкът си адэшхуэм и адэм зэреджэр, абы и щхьэгъусэр Борийхэ япхъут, пхъуитхурэ илъэс 12-м ит си адэшхуэмрэ яIэт абы щыгъуэ. ПхъуитIыр – Ащхъуэтхэ, зыр – УнащIэхэ, адрейр – Ендырхэ, етхуанэр Тохъухэ яшащ. Абыхэм я дэлъху закъуэ Исуф и къуэ Хьэлым срикъуэщ сэ, — къыддо-гуашэ Рэхьми.
Си анэм и цIэр Зухьрэщ. 1917 гъэм школыр къиухат абы. А лъэхъэнэм апхуэдэ щIэныгъэ зиIэ цIыхубз исакъым Тыркум, тыркубзэри хьэрыпыбзэри дэгъуэу ищIэрт. Ар шым тетIысхьэрт, къалэм кIуэрти, адыгэм сыт хуэдэ Iуэху яIэми яхузэфIигъэкIырт. Тыркум щыщу нэчыхь зимыIэ цIыхубз Мэккэм ягъакIуэу щытакъым. Ди анэращ япэ дыдэу Тыркум щыщу, нэчыхь имыIэу хьэжыщI кIуа фызыр. Еуэри, си анэр Тумэ Исмэхьил къигъэкIуэсащ. Абыхэм къуитIрэ зыпхъурэ къахэхъуауэ Исмэхьил яукIащ. Ди адэм щхьэгъусэ иIэт, ауэ сабий къащIэхъуатэкъыми, и щхьэгъусэр ирагъэкIыжри, и къуэшым и фызыр кърагъэшэжащ. Ди адэми щIалитIрэ зы хъыджэбзрэ къыхуилъхуащ. Си шыпхъу нэхъыжьыр Рэхьмэтщ, си къуэшыр Фикрищ. Фикри диным хуеджащ, ефэндышхуэщ.
— Бынунагъуэшхуэр сыт хуэдэ жылэ фыдэса?
— Мараш къалэм епха Гёксун щIыпIэм хиубыдэ жылэ цIыкIухэм ящыщщ Къаншуейр. Мис аращ дыкъыщалъхуари дыщапIари. Курыт школыр къэзуха нэужь, къалэшхуэм еджакIуэ сыкIуащ, зызгъэадыгэ щIалэу, си бзэр сщIэуэ, сызэрыадыгэм срипагэу. Зы гъэщIэгъуэн сыщрихьэлIащ абы. Ататюрк къэралыр зэриухуам къытхутепсэлъыхьу тхыдэмкIэ зы егъэджакIуэ гуэр диIэт. Ар зэгуэрым лекцэ къытхуеджэу жиIащ адыгэхэм лIыгъэ яхэмылъу, щхьэфIэчу. Ар щызэхэсхым, схуэмышэчу сыкъэгъащ.
— Сыт ущIэгъыр? – къызоупщI егъэджакIуэр.
— Сэ сыадыгэщ. Уэ адыгэхэр хэбутащ, – жысIащ.
ЕтIуанэ сыхьэтым къыщIыхьэри, адыгэхэм хуэдэ щымыIэу жиIэурэ псалъэрт. Аргуэру си нэщхъыр зэхэукIауэ сыздэщысым къызбгъэдыхьэри къызжиIащ: «Узыхуейр зищIысыр сыт? Адыгэр доубри – уогъ, дыщотхъури – уогъ». Хуэфэщэн жэуап естыжащ абы, иужькIэ сыщыщIэупщIэм ар адыгэу къыщIэкIащ. Арат а лъэхъэнэм къэралым щыхабзэри, лъэпкъ цIыкIу къыхэкIам зищIысыр ибзыщIырт, си егъэджакIуэр дзэм хэтати, къаригъащIэ хъуххэнутэкъым зэрыадыгэр.
«Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ Тумэ Рэхьми йопсалъэ.
ЕтIуанэу мыр къысщыщIащ: еджапIэм сыщIэтIысхьа къудейуэ, тыркубзэкIэ семыджэфу, библиотекэм сыкIуащ. Зы тырку хьэрф сцIыхуртэкъым. Библиотекэм зы лIыжь щIэтти, сыбгъэдохьэри адыгэбзэкIэ жызоIэ: «Адыгэхэм ятеухуауэ тхылъ къызэт».
ТыркубзэкIэ къыщIоупщIэж лIыжьыр. Сэ адыгэбзэкIэ жэуап изотыж аргуэру: «Адыгэхэм ятеухуа тхылъ къызэт». Сытми, лIыжьым зи Iуэху зесхуэр къыгурымыIуащэу, IуокIри, зы тхылъ иIыгъыу къегъэзэж: «Дэ адыгэхэм ятеухуа тхылъ диIэкъым, ауэ мы тхылъым «Кавказ» жиIэу тетщи, ухуеймэ, къащти еплъ». Тхылъыр къеIысхащ, ауэ щIагъуэу къызгурыIуакъым абы итхэр, илъэс 13-14-м ситу арат. ИужькIэ, къызэрыщIэкIамкIэ, Тыркум щыпсэу адыгэхэм я тхыдэр япэ дыдэу зытхыжа Беркъукъу Исмэхьил и IэдакъэщIэкIрат лIыжьым къызитар. КъызгурыIуар мащIэми, тхылъым седжащ. Мис абдеж щегъэжьауэ адыгэ Iуэхум сыдихьэхащ, абы и тхыдэр зэи IэщIыб сымыщIауэ иджыри къыздэсым содж, солэжь.
— УкъызыхэкIа лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и щIыбагъ къыдэлъа гуауэр нэхъуеиншэу зэбгъащIэу упсэуащ, уэри куэдым утетхыхьащ. Лъапсэрыхым ирихужьэу Тырку щIыналъэм ипхъа щыхъуа адыгэм и Iуэхур гузэвэгъуэт, икIагъэшхуэт абыхэм къащыщIар. Уэ бджа, бгъэунэхуа псом къахэпха гупсысэмкIэ укъыддэгуэшэну сыхуейт: сыт хуэдэу щыта хэхэс гъащIэр адыгэм дежкIэ, и гур щигъэтIылъа къыхуихуа ди лъэпкъым зэгуэр, хьэмэрэ гуныкъуэгъуэм ихь зэпыту псэуа?
— Ар кIыхьу къебгъэкIуэкIыфынущ. Ауэ нэхъ кIэщIу жыпIэмэ, мыращ Iуэхур зытетыр е сэ сызэреплъыр. Адыгэр и хэкум щIикIам и щхьэусыгъуэр зыбжанэу зэтопщIыкI. Ирахуаи, къагъапцIэу ирашаи, зыфIэфIу зыбгынаи щыIэщ. Ауэ Уэсмэн къэралыгъуэшхуэм и щIыгум нэхъыбэу щIашами щIэкIуами щхьэусыгъуэ хуэхъуар дин Iуэхуращ.
Адыгэм гугъуехь куэд ишэчащ. Зэ зым ягъэтIысу, итIанэ абдеж щрахужьэжрэ нэгъуэщI щIыпIэ тIысыпIэ ищIын хуей хъууэ. Гугъуехьыр и натIэу псэууэрэ, Ататюрк пашэ хъуа нэужь, Джумхьуриет (Республикэ) иухуэри, къэралыр зэрыпсэун хабзэ зэхалъхьащ. 1921 гъэм Конституцэ къащтащ, къэралым лъэпкъыу исыр къыщыгъэлъэгъуауэ. АрщхьэкIэ 1924 гъэм Конституцэр зэрахъуэкIри, Тыркум ису хъуар тыркуу ятхыу щIадзащ.
Апхуэдэу ящIа нэужь, адыгэбзэкIэ упсалъэуи, «сыадыгэщ» жыпIэуи ядэртэкъым. Абы щыгъуэм сэ япэ классым сыкIуати, си анэдэлъхубзэрат сщIэр. Хуэмурэ тыркубзэр зэзгъащIэрт, ауэ адыгэбзэ къысфIыхэхуэрти, егъэджакIуэм тезыр къыстрилъхьэрт – пэшыр зэрагъэплъыр собэти, абы иралъхьэн пхъэр унэм сихужурэ къызигъэхьырт. Гъэмахуэ хъумэ, ди вакъэр щыдигъэхтырти, ди лъэгум къыщIэуэрт. Куэдрэ къыстехуащ ар.
Мис апхуэдэ Iуэхухэрщ нобэрей ассимиляцэр къэзышар, лъэпкъыр зыхэсхэм яхэшыпсыхь щIэхъуар. Бзэр зымыщIэр, тыркум ират адыгэ хъыджэбзхэр куэд хъуащ.
Къуажэм дыдэсу, сыщIалэ цIыкIуу, ди адэшхуэм деж молэри, динымкIэ егъэджакIуэри къэкIуауэ зэхэсхат. Сэ шей яхущIэсхьэну сылъаIуэри, сыщIыхьащ нэхъыжьхэр зыщIэсым. Адыгэ хъыджэбз гуэр тырку щIалэм иратыну унафэ ящIу арат. Молэр псалъэрт: «Хэт сыт жиIэми зыри къикIыркъым, хэт хэт дэкIуэнуми къурIэным итщ, я натIэм къритхащ». Ар щызэхэсхым, зы псалъэ къызатыну сылъэIуащ: «Ярэби, Алыхьыр тыркуу пIэрэ»? – сыщIэупщIащ сэ. Ар щIыжысIари? Адыгэ къуажэ 17 ист абдежи, сэ сщIэуэ хъыджэбз 23-рэ тыркум иратат, ауэ зы тырку хъыджэбзи къуажэм къыдашатэкъым.
Нэхъ иужькIэ цIыхухэр еджащ, лэжьапIэ къагъуэтащ, къалэхэм Iэпхъуахэщ. Нобэ «сыадыгэщ» жызыIэр куэдщ, ауэ бзэр зыщIэр мащIэщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, адыгэр лIыгъэкIэ зэрыхагъэшыпсыхьам нэхърэ нэхъыбэу езыхэр интеграцэм ихьащ.
— Къэрал Iуэхуми, хабзэми куууэ хыбощIыкI, куэд бджащ. КIэщIу жэуап къетыт: адыгэхэр я хэкум зэрырахуам лъэпкъгъэкIуэдкIэ (геноцид) уеджэ хъуну?
— ПсалъитхукIэ зэзгъэзэхуащ мы Iуэхум сызэреплъыр. Адыгэр зытекIуэдар сыт жысIэри сызэупщIыжащ сэр-сэру: зэгурымыIуэныгъэ, щIэныгъэншагъэ, урыс лъагъумыхъуныгъэ, уэсмэн лъагъуныгъэ, къагурымыIуэ муслъымэныгъэ. ЯгъэкIуэдащ адыгэр мис абыхэм. Дэр-дэруи дызэгурыIуакъым, къэралри къыдгурыIуакъым. Ди хабзэри и кIэм нэсу къыдгурыIуэжыртэкъым дэ. Хабзэ жыпIэмэ, Iэнэм щызэрахьэрауэ, жэнэзы хуэIухуэщIэрауэ, хьэщIэ гъэхьэщIэкIэрауэ ягугъэщ языныкъуэхэм. Хабзэм псори итт, ауэ къагурыIуакъым.
— Уэ абыхэм ятеухуа тхылъ узэриIэм сыщыгъуазэщ. НэгъуэщI сытым утетхыхьа, конференцхэм жыджэру ухэтщ, сытым теухуауэ укъэпсалъэрэ?
— Истамбыл дэт Хасэм и тхьэмадэу илъэсипщIкIэ сылэжьащ. Абы щыгъуэми, иджыри зиужь ситыр лъэпкъ Iуэхур дэгъэкIынырщ, абы и пэжыр къыщIэгъэщынырщ, ди псэукIэм хъуауэ хэлъымрэ мыхъумыщIэмрэ зэпкърыхынырщ. Кавказым, тхыдэм, Кавказ зауэм, абы и къежьэкIамрэ щхьэусыгъуэмрэ, нэгъуэщI куэдми сытетхыхьащ, тхылъ щхьэхуэхэр дунейм къытехьащ. Ахэр сэбэп мэхъу хэхэс адыгэхэм къащIэхъуэ щIэблэм я блэкIар ящIэнымкIэ, я гупсысэр унэтIынымкIэ, ди тхыдэм еплъыкIэ гуэр хуаIэнымкIэ.
— Уи унагъуэкIэ нэхъ гъунэгъуу укъэтцIыхуну сыхуейт, Рэхьми…
— Си щхьэгъусэр абхъаз бзылъхугъэщ. Зи лъэпкъ, зи лъахэ фIыуэ зылъагъу щыIэмэ, ар етIуанэщ. Хэкупсэщ хуабжьу. Езыр профессорщ, университетым щолажьэ.
Махьинуррэ сэрэ бын дгъуэтакъым. Ауэ абы и дэлъхум лIы иукIыу лъэхъуэщым щихуэм, илъэси 3-м иту хъыджэбз цIыкIу къыхуэнати, дэ къэтшащ тпIыну.
ДэкIуэн хуей щыхъум, «псэлъыхъу пхуэхъур си деж къэгъакIуэ» жысIащ. Адыгэ фIэкIа естынутэкъым. Зэгуэрым къэкIуащ зы щIалэ, адыгэу жиIэу, ауэ и фэмкIэ зэрытыркур къэсщIащ. ЩIалэр згъэшынэри зыкъезгъэумысащ икIи афIэкIа хъыджэбзым къыбгъэдэмыхьэну унафэ хуэсщIри сутIыпщыжащ. Абы иужь абхъазыпщ гуэрым къытехъукIа щIалэм лъыхъу къигъэкIуащ. АрщхьэкIэ, си мурадым сытетти, згъэщIэхъуащ. Бурджы (си пхъум) еджэн къиухри, лэжьэн щIидза нэужь, зы къэбэрдей щIалэ зригъэцIыхуащ. Абы и хъыбар щызэхэсхым, «си деж кърекIуэ» жысIащ. Уи фIэщ хъункъым, ауэ щIалэр ди унэ къыщыщIэбэкъуам и зыIыгъыкIэкIэ, и теплъэкIэ зэрыадыгэр къыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.
— Дэнэ ущыщ? – сеупщIащ тыркубзэкIэ.
— Уэлэхьи, Узун-Яйла сыщыщым, сыкъэбэрдейм, Мэрзейхэ сращIалэм, – къызитащ жэуап адыгэбзэ къабзэкIэ.
ЩIалэм сепсалъэри, сигу ирихьащ, и адэкъуэшхэр лъыхъу къигъэкIуэну хуит сщIащ. Адыгэ пщащэ н эсу згъэсат хъыджэбзыр, адыгэ унагъуэ ихьэну сыхуейт. Езыри си жьауэм щIэкIакъым, жысIэм къедэIуащ, къыхихари игу дыхьэ щIалэщ. Бурджы адыгэ анэ гумащIэ хъуащ, пхъу гумащIэуи къысхущIэкIауэ дызэхуэгуапэу дызэкIэлъокIуэ. Сигу хэзыгъахъуэри? А зи гугъу сщIы хъыджэбзым зэтIолъхуэныкъуэу пхъуитI иIэщ – Гужанрэ Нэжанрэ. Гужан зымахуэ къэтIысауэ къызжеIэ: «Уэ адыгэ хъыджэбзыр зэрыщытыр пщIэрэ?».
— ЩIагъуэу сщIэркъыми, кхъыIэ, къызжеIэ.
— Адыгэ хъыджэбзыр ину Iэгу еуэркъым, уэрамым щрикIуэкIэ лъэбакъуэхъуу бакъуэркъым, тутын ефэркъым, ину псалъэркъым.
— НэгъуэщI сыт хуэдэ хьэл хэлъ? – сыщIоупщIэ.
— Иджыри зы щыIэщ, ауэ бжесIэнукъым.
— Ди яку къыдэнэжынщ, щэхуу къызжеIэ, – щыжысIэм, си тхьэкIумэм къекIуэталIэри: «Адыгэ хъыджэбзыр адыгэ щIалэ дэкIуэн хуейщ», – жиIащ. Мис апхуэдэу адыгэпсэ яIу-ту игъэсащ ахэр Бурджы. А цIыкIухэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ, пшынэ йоуэ. Зыр пшынэ щеуэкIэ, адрейм сэ сыкъыдофэ.
-Тхьэм куэдрэ уакIэлъигъэплъ гъащIэм и IэфIыр зыхозыгъэщIахэм!
Епсэлъар
НэщIэпыджэ Замирэщ.
Адыгэбзэр къызэтенэным щхьэкIэ, дэ къыткIэлъыкIуэнухэр хуиту бзэм ирипсалъэу псэуным щхьэкIэ Iуэхугъуэ куэд лэжьын хуейщ. Бзэм егъэджэн къудейр къытщхьэпэну щыткъым, атIэ бзэмкIэ деджэу, бзэмкIэ едгъаджэу, щIэныгъэ бзэмкIэ зэдгъэгъуэту дыщытын хуейщ.
Тхьэм къыдита, анэм къыддилъхуа бзэр тхъумэну ди пщэрылъщ. Тхьэм и пащхьэм дежи, ди нэхъыжьхэм я пащхьэм дежи. Ди Дунеир тхъуэжа иужь Тхьэр къызэрыдэупщIыну Iуэхугъуэхэм ящыщу къыщIэкIынщ мы упщIэхэр:
– Бзэуэ уи лъэпкъым Сэ хуэзгъэфэщар пхъума Дунеим ущытетым?!
– Къабзагъэу уи лъэпкъым Сэ хэслъхьар зепхьа?!
– Уи анэ-адэм пщIэ хуэпщIрэт, аразы пщIахэ, ягу бгъэзэгъа?!
– Бзэуэ ахэм къыбдалъхуауэ уи анэдэлъхубзэмкIэ уапсалъэрэт?!!!- жэуэ.
Абы дынэмысми нобэ Урысей Федерацэми, мы Дунеишхуэми щыпсэу лъэпкъхэм я бзэм хуэдэщ ди адыгэбзэр. Адыгэ хабзэри, адыгэбзэри зеир адыгэ лъэпкъ къудеир аракъым, атIэ ар Дунейпсо щэнхабзэм (культурэм) еищ икIи адыгэ хабзэри адыгэбзэри абы ихъумэн хуейщ. Берлин университетым, Токио университетым, нэгъуэщI къалащхьэ университетхэм щаджыр адыгэбзэр. Моника Хёлиг нэмыцэ бзыльхугъэу Германием щыпсэу-щылажьэр «филологие щIэныгъэмкIэ доктор» зэрыхъуар адыгэбзэращ. Дунеим и дахагъэр тхъумэну дыхуеймэ, дэтхэнэ бзу цIыкIу уэрэд дахэ къизышыр зэрытхъумэм хуэдэу, Дунейпсо щэнхабзэри (культурэр), ди лъэпкъыри тхъумэну дыхуеймэ, ди адыгэбзэ дахэри дывгъэхъумэ!
Ар дэтхэнэ зыми тхузэфIэкIынущ махуэ къэс дырипсалъэу, ди сабийхэм ядгъащIэу, анэдэлъхубзэкIэ едгъаджэу щытмэ. «Бзэр лъэпкъым и къэрагъул бжыхьщ» – жи1ащ Нэло Заур. Бзэр щыщыIэм дежращ, лъэпкъыр щыщыIэр. Лъэпкъым и хабзэр зэрызэрихьэр езым и лъэпкъыбзэращ. Адыгэ хабзэми и бзэр адыгэбзэщ.
«Сэ сыцIыхущ» – жызыIэ псори цIыхукъым. ЦIыхум цIыхугъэ хэлъын, цIыху хабзэкIэ псэун хуейщ.
«Сэ сыадыгэщ» – жызыIэ псори адыгэкъым. Адыгэу ущытмэ адыгэбзэр, адыгэ хабзэр пщIэн хуейщ, адыгэбзэм урипсалъэу, адыгэ хабзэкIэ упсэун хуейщ.
«Сэ сымуслъымэн» – жызыIэ псори муслъмэнкъым. Умыслъымэну ущытыным щхьэкIэ муслъмэн диным и фарзхэр (шэрихьэтыр, къурIэныр) пщIэн хуейщ, а хабзэр бгъэзащIэу упсэун хуейщ» – ар къызжиIауэ щытащ, 1993 гъэм Джоланым (Район Голанских высот, Сирием деж) сыкIуауэ, Цей Джаудэт – адыгэ лIы губзыгъэ дыдэу, муслъымэну Дунеим тетыр зэчэнджэщым, пщIэ зыхуащIым, Сократ пэлъытэу нобэ адыгэ лъэпкъым диIэм. Динырылажьэ мусылмэнхэм я нэхъ еджагъэшхуэхэм ящыщщ Цей Джаудэт.
СыткIэ дызэщхьэщыкIрэ цIыху лъэпкъхэр? Ди бзэмкIэ, ди лъэпкъ хабзэхэмкIэ. «Уэ уурыс, уфранцуз, уяпон, сэ сыадыгэ» – щыжытIэкIэ, ди бзэмрэ ди лъэпкъхабзэмрэ, щэнхабзэ (культурэ) ди адэжьхэм къытхуагъэнамрэщ дызэрыадыгэр къэзыгъэлъагъуэр. ИкIи а зэщхьэщыкIыныгъэр Дунеим и дахагъэщ! Лъэпкъ псори дызэхуэдэу щытамэ сытыт абы дахагъэу хэлъынур? Ауэ щыхъукIэ, ди лъэпкъ нагъыщэхэр дывгъэхъумэ!
Мы тхыгъэр зыхуэгъэзар адыгэхэращ.
Адыгэ, Къэбардей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес республикэхэм щыпсэухэм, Москва, Краснодар крайм (Къалащхьэм, Успенскэ районым, Хы фIыцIэ Iуфэм) щыпсэу адыгэхэм, Ставрополь крайм (Кочубей, Курской районхэм) ис адыгэхэм, Северная Осетия-Алания республикэм (Мэздэгу къалэми районми) щыпсэу адыгэ чристанхэми муслъымэнхэми.
Мы тхыгъэр хуэгъэзащ Иордание къэралыгъуэм пщIэшхуэ щаIэу абы ис адыгэхэм, Сирием щыпсэу адыгэхэу адыгагъэ куэд зыдэслъэгъуахэм, Израилым ис, дахэу зызыхъумэжыфа, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж адыгэхэм, Германиемрэ Голандиемрэ щыпсэу адыгэу псэемыблэжу лъэпкъым зыщIэзгъакъуэхэм, Америкэм ис адыгэхэу къабзагъэрэ гуихарэкIэ лъэпкъым хуэлажьэхэм, нэхъыбэ дыдэу зы щIыпIэм щыпсэу, бжыгъэкIи мылъкукIи зэфIэкI ин дыдэхэр зиIэу Тыркум ис адыгэхэм. Францием ис адыгэхэу иджы дыдэ Адыгэ Хасэ къызэIузыхахэм. Дунейпсом тет адыгэу зэзэгъхэми, зэмызэгъыу тетхэми. Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ Египетым, Ливием щыпсэу «адыгэ кIуэдыжахэу» зи бзи зи хабзи зыщыгъупщэжа, зэгуэрэм адыгэм къызэрыхэкIауэ щытам нэхъ зымыщIэжхэми, адыгэ щэнхабзэр, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр нэхъ куу дыдэу зыщIэхэми.
Мы тхыгъэр яхуэгъэзащ щIэныгъэм емыпхауэ къызэрыгуэкI адыгэхэми, щIэныгъэрылажьэ лъэщхэми.
«Хэкужьыр зыхъумар хэкурысхэращ, ауэ ар зэфIэзгъэувэжынур хэхэсхэращ»- жызоIэ. Хэхэсу щытауэ, гугъуехь псоми ебакъуэу «Хэкужьым и гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэщ, и гукъеуэри си гукъеуэщ, и хьэлъэри дэсшэчынущ»- жызыIэу зи Хэкужь къэзыгъэзэжахэми яхуэгъэзащ мы псалъэр.
Сыхуейщ мы псалъэр янэсыну пщIэшхуэ зыхуэтщIу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэми, ЩIэныгъэмкIэ Дуней Адыгэ Академием и Тхьэмадэми, фIыкIэ дызыхуэупсэ, Адыгэ Хэкур ягъэщIэрэщIэжынкIэ дызыщыгугъ ди нэхъыщIэхэми, ди нэхъыжьыфIхэу куэдрэ дяпэ итынкIэ дызэхъуэхъухэми.
Дэ, адыгэ псори, дызэщхьэщокI гупсысэкIэу диIэхэмкIэ, дуней еплъыкIэкIэ, дызыщыпсэу щIыпIэхэмкIэ, дин зетхьэхэмкIэ, Iуэху дызэлэжьхэмкIэ. Ауэ дэ псоми фIылъагъуныгъэ худиIэщ ди лъэпкъым, псори дыкъызэщIиубыдэу диIэщ зыуэ Адыгэбзэр, Адыгэ Хабзэр, Адыгэ Хэкужьыр.
А щым я нэхъыщхьэр адыгэбзэрауэ щытщ. Адыгэ Хэкужьыр зыгъэдахэр адыгэ хабзэу лъэпкъым иIэращ. Адыгэ Хэкужьыращ адыгэ хабзэри, адыгэбзэри псэхуиту здызекIуэфыну щытыр, Къэралыгъуэ Хабзэми гуащIэ къащритыфынур Адыгэ Хэкужьым дежращ .
Дэ къытщIэхъуэ сабийхэм ядгъэщIэн хуейщ ди адыгэжь Нарт эпосыр, адыгэ IуэрыIуатэр, адыгэ усакIуэхэмрэ, тхакIуэхэмрэ я тхыгъэхэр. Ахэр анэдэлъхубзэкIэ зэрытхам хуэдэу, ди лъэпкъым къыдалъхуа гупщысэхэр хамэ менталитетым имыгъэхьауэ къабзэу щIэблэм янэдгъэсыпхъэщ. Дыхуейщ КIэрашэ Темботи, ПащIэ Бэчмырзи, ЩоджэнцIыкIу Алии, Къубэ Шэбани, КIыщокъуэ Алими, МэшбащIэ Исхьэкъи, Щхьэлахъуэ Абубэчыри, ХьэдэгъэлI Асчэри, КъардэнгъущI Зэрамыкуи, Нэло Заури, МэфIэдз Сэрабии, Хьэкъун Бэрэсбии, Къуёкъу Нальбии, Дыгъужь Къурмэни, ХьэIупэ Джэбрэили, Ацкъан Руслани, Нэхущ Мухьэмэди, Бицу Анэтоли, Бемырзэ Мухьэдини нэгъуэщI тхакIуэ усакIуэ лъэщхэу зи цIэр мыбдеж къизмыIуэфахэми я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэрытхам хуэдэу ди сабийхэр едгъэджэну. Адыгэ лъэпкъым къыдалъхуа гупщысэ къабзэхэмкIэ дадэгуэшэн, ди лъэпкъым и къэкIуэнум епха гупщысэхэр адыгэбзэкIэ ди щIэблэм ялъэдгъэIэсын хуейщ.
Дэ догугъэр ди сабийхэм Адыгагъэр дину къащтэжыну, Нарт IуэрыIуатэр ди лъэпкъым и блэкIам и уэсяту яIэну. Дунейпсо эпос жьантIапщэм я Тхьэмадэр адыгэбзэм къыдэунэхуа Нарт эпосращи, ХьэдэгъэлI Асчэр и «Нартхэр», «зэшибл-томиблу» къыдэкIар, дгъэпсэун хуейщ зэрыщытым хуэдэу, къыткIэлъыкIуэ ди щ1эблэр хуэдгъэхьэзырын хуейщ адыгэбзэкIэ абы еджэфу.
Апхуэдэ зэфIэкI здэдгъуэтынури ди Хэкужьращ, апхуэдэ зэфIэкI къыдэзытынури Урысей Федерацэм и Хабзэхэращ.
Хъуэтыкъуэ Самир дахэу ди пащхьэ къырилъхьащ Адыгэ Хэкум и Тхыдэр («История Черкесии», г. Санкт-Петербург, 2002 г.), ижь дыдэм къыщыщIэдзауэ нобэр къэсыху.
ИлъэсипщIым пэблагъэу тригъэкIуэдащ абы а лэжьыгъэ адыгэ лъэпкъым дежи Дунейпсом дежи мыхьэнэшхуэ зиIэм. Куууэ хэлэжьыхьащ ар адыгэ тхыдэжьым нобэрей еплъыкIэкIэ. Дунейпсо еплъыкIэ захуэкIэ, еплъыкIэ пэжкIэ гъэнщIащ а лэжьыгъэр.
Урысей Федерацэ Президентым и Администрацие УнафэщIым и дыIэпыкъуэгъу, етIуанэ класс нэгъыщэ зиIэ къэралыгъуэ чэнджэщакIуэ, къэрал Iуэхузехьэ лъэщ, Хъупсырокъуэ Назир щыжи1ащ тхыдэтхым къыдигъэкIа тхылъым и пэщ1эдзэ псалъэу:
«Хъуэтыкъуэ Самир итха тхылъыщIэм гъэтIысауэ щIэныгъэ гъэпсыныгъэ зэриIэм нэмыщIу, сэ сыдихьэхащ а щIалэм шынагъэ игу къыримыдзэу ди блэкIам и Iуэху нэхъ гуащIэ дыдэхэм зэрытепсэлъыхьам.
Япэдыдэу Кавказым я щIэныгъэ гупсысэкIэхэм ящыщу мыбдежращ дыщыIущIэр адыгэм и тхыдэр Хатт (Хьэт) цивилизацием (зэхэтыкIэм), Мейкъуапэ щэнхабзэм (культурэм) къыщыщIэдзауэ нобэрей гъащIэм къынэсыху лъэныкъуэ куэдкIэ зэдэплъагъуу, уеплъыфу.
Сэ гъэщIэгъуэн къысщыхъуащ адыгэм и блэкIа гуIэгъуэрэкIэ, лъэпкъым ищхьэ фIыуэ езыгъэлъагъуж, зыгъэлъагэ Iуэхугъуэ куэдхэмкIэрэ гъэнщIа адыгэ хэхэсхэм я тхыдэм теухуа едзыгъуэхэр. Совет лъэхъэнэм пцIыкIэ гъэнщIа гупщысэхэм дырагъаджэт, Урыс Пащтыхьхэм я къэралыгъуэ унафэщIхэм адыгэ лъэпкъым кIэлъызэрахьа фIеягъэхэр зэрагъэпщкIуным, зэрыщIауфэным пылъхэурэ.
ЖаIэр арат: Адыгэр егъэзыгъэкIэ, зауэрэ мафIэрэкIэ Хэкужьым ирамыхуауэ, атIэ Тыркум Iэпхъуэжын щIэхъуар ислам дин фанатизмэ адыгэм куэду яхэлъу щыта хуэдэу; гъэпцIагъэкIэ хамэщIым щIагъэхъуэпсарэ абдежым тхьэмыщкIагъэмрэ гъаблэмрэ ихьхэу; щIыгу къырамыту, ягъэпщылIу, ящэ-къащэхужу щытауэ».
Хъупсырокъуэ Назир мы тхыгъэмкIэ дигъэлъэгъуащ, Урысей Федерацэм и япэрей Президент Ельцин Борис Кавказым ис лъэпкъхэм закъыхуигъазэуи жиIащ урыс пащтыхьхэр щыпсэуа зэманми, совет зэманми Урыс-Кавказ зауэм еплъыкIэу ди къэралыгъуэм деж щызэрахьар зэхъуэкIын зэрыхуеир.
Тхыдэм уасэшхуэ ират лъэпкъ псоми, ауэ дэ адыгэхэр псорикI цIыкIуи ини тхыдэтхым хуэдэу ди тхыдэ тщIэжуэ дыщытын хуейщ. Адыгэбзэм еплъыкIэу хуидиIари зэтхъуэкIын хуейщ.
«Адыгэбзэм дэнэ нэс уихьын? Къуажэм удэкIмэ бухащ. Ди сабийхэр абы щIеджэн щыIэкъым» жызыIэхэр ди лъэпкъыр зыгъэцIыкIу политикэу Пащтыхьыгъуэ Урысейми, Совет Властми зэрахьэу щытар дэзыIыгъхэращ. Эстонхэр зы мелуан иримыкъу пэтми иролажьэ, ироджэ, иропсэу эстоныбзэм. Мы Дунейм а бзэмкIэ ярыхохьэ эстонхэр. Адыгэбзэм ирипсэлъэфыр мелуанищым къохъу. ИкIи дыхуэныкъуэщ, икIи дгъэпсэун хуейщ ди лъэпкъыбзэр.
Дэ фыкъыхудоджэ бзэм ирилажьэхэм фадэIэпыкъуну, иджырейхэм «фонд» жыхуаIэхэр зэхэфшэну, тхыгъэхэмкIэ фи гупщысэхэр къэвгъэлъэгъуэну, адыгэбзэм, адыгэ хабзэм фызэрыхуэныкъуэр къэфIуэтэну.
НобикI дэ къытхэтщ адыгэбзэм мыхьэнэ езымыт. Апхуэдэхэр я гупщысэхэмкIэ къыддэгуашэтэмэ гуапэ къытщыхъунт. Апхуэдэ Iуэхугъуэми къигъэлъэгъуэр аращ – а цIыхур бзэм и Iуэхум зэригъэгумэщIращ. «Тхьэр щыIэу си фIэщ хъукъым» жызыIэм къегъэлъагъуэ Тхьэр зэрыщыIэр.
Дэ ди гуапэщ адыгэбзэм фыщытепсэлъыхькIэ. Фытепсэлъыхь хамэбзэкIи, анэдэлъхубзэкIи. Адыгэбзэм и гугъу фщIыху абы и гуащIэм хуохъуэ. Ауэ нэхъыфIыр арат – адыгэбзэр хъумэным, адыгэбзэр зэрыпсэуным и гъуэгу дахэр, гъуэгу дэкIыпIэр къыхуэдгъуэттэмэ.
Абы и IуэхукIэ куэд ялъытащ нобэ ди адыгэ Президентхэм. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж Президентым и лъэпкъым и бзэр ищIэнущ, и лъэпкъым анэдэлъхубзэкIэ (адыгэбзэкIэ) щIэныгъэ иригъэгъуэтынущ. Лидер (Ц1ыху пажэ) жыхуаIэр лъэпкъым и пажэращ. Ар сыт щыгъуи пылъынущ лъэпкъ Iуэхум, лъэпкъым и бзэм, и щэнхабзэм (культурэм) зиужьыным, лъэпкъыр зыгъэдахэ, зыгъэлъапIэ нагъыщэхэр хъумэным.
Дэ зэдгъэпэщащ Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэ автономие Черкесск къалэм и деж икIи Урысей Федерацэм и хабзэм ипкъ иткIэ ар Къэралыгъуэ реестрым хатхащ.
Дэтхэнэ адыгэри зэлэжьын хуейуэ щытыр, адыгэ лъэпкъ-щэнхабзэ автономиери зытелэжьыхьн хуейуэ тлъытэ 1уэхугъуэхэр мы къыкIэлъыкIуэхэращ:
– Сабий IыгъыпIэхэр (сабий сад) гъэпсын хуейщ, илъэс къэс илъэсищ зи ныбжь сабийхэр щиIыгъыну къищтэу. Абдежым адыгэбзэрэ адыгэ хабзэкIэ ягъасэу, адыгэ уэрэдым, адыгэ къафэм хуагъасэу, адыгэбзэкIэ еджэфу еджапIэ щIыхьэгъуэм нэс яIыгъыну. Адыгэбзэм игъусэу урысыбзэр, инджлыбзэр фIы дыдэу ирагъащIэу щытын хуейщ.
– А сабий гупыр еджапIэм щыщIэхьэм деж техуэу ахэр зэреджэну тхылъхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ гъэхьэзырын хуейщ..
– Апхуэдэу адыгэбзэкIэ псори щадж курыт еджапIэм урысыбзэр, инджлыбзэр кууэ ирагъащIэурэ ирагъэджэн хуейщ.
– Дэтхэнэми ищIэн хуейщ бзищ: и лъэпкъыбзэр (адыгэбзэр), и къэралыгъуэбзэр (урысыбзэр), Дунейпсор зэрызэпсалъэ бзэр (инджлыбзэр).
– Дэ ди гуапэщ адыгэ лъэпкъым чристан дини муслъымэн дини зэрызэрихьэр. Дин зэщымыщу тIу зезыхьэ лъэпкъым къегъэлъагъуэ дин псоми шэчыныгъэ зэрахуиIэр , икIи ар лъэпкъым и дэхагъэм, и тхыдэм щыщщ. Гуапэ дыдэщ адыгэ чристанхэм езыхэм къагурыIуэурэ ябзэкIэ (адыгэбзэк1э) дин Iуэхухэр зэрызэрахьэр.
– Муслъымэн динри чристан динри адыгэбзэкIэ курыт еджапIэм щаджын хуейщ, иужькIэ ди лъэпкъым дин иIыгъхэр адыгэбзэкIэ зэрихьэн папщIэ. Абы бзэри динри егъэкъабзэ, быдэ ещI. Диныр адыгэбзэк1э щызепхьэк1э абы адыгэбзэр ихъумэнущ.
– Илъэс пщыкIухкIэ сабий IыгъыпIэмрэ (илъэсиплI) курыт еджапIэмрэ (илъэс пщыкIутI) апхуэдэу ирагъэджа щауэм е пщащэм и еджапIэ нэхъыщхьэ щIыхьэныр нэхъ пасэу гъэхьэзырауэ щытын хуейщ. Абы епхауэ Америкэм, Англием, Испанием, Германием, Москва, Къэбердей-Балъкъэрым, Адыгей Республикэм я университет нэхъыфI дыдэхэм, ди щIалэгъуалэу а адыгэбзэкIэ курыт еджапIэм щIэныгъэ щызыгъуэта, урысыбзэмрэ инджлыбзэмрэ кууэ зыджахэр щIыхьэным зэзэгъыныгъэ (договор) гъэбыда къахуэдгъуэтауэ щытын хуейщ. СытмикI, апхуэдэу щыхъук1э, дэ зи гугъу тщIы еджапIэр къэзухым «Гарантие» иIэнущ Университетым щIыхьэну.
– Адыгэ еджапIэм иIэн хуейщ сертификат, а еджапIэр къэзухар абы къыщырата тхылъымкIэ зэзэгъыныгъэ зыдэтщIа нэгъуэщI къэралхэми, дэ ди къэрал университетхэми экзамен хэмытыжу ящтэну гъэпсын хуейщ.
– Адыгэбзэм и Институт зэIутхын хуейщ, Америкэми, Франциеми, Голандиеми, Германиеми, Япониеми, Тыркуми нэгъуэщI къэралхэми къикIыурэ ди деж адыгэхэри, хуеймэ нэгъуэщI лъэпкъхэри, щеджэн щхьэкIэ. Адыгэхэм зэпыщIэныгъэ лъэщ мы Дуней псом щыдиIэнущ итIанэ. Адыгэр зэришэлIэнущ абы, зэгуригъэIуэнущ.
– АдыгэбзэкIэ IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хурагъаджэу еджапIэхэр (профессиональные училища, лицеи, колледжи) дгъэпсын хуейщ.
– Лъэпкъым иIэн хуейщ Университет, адыгэбзэкIэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хурагъаджэу.
– А псори дэ зэфIэтхын хуейщ хабзэкIи мылъкукIи Урысей Федерацэр къыддэIэпыкъуурэ, дэ а къэралым дырилъэпкъыу дыщилъытэк1э.
– Мы 1ухугъуэхэр гъэпсыным дэIэпыкъун хуейщ мылъку зезыгъэкIуэф икIи абы щыщ ахъшэ адыгэбзэм зиужьыным хуэзыгъакIуэ цIыхушхуэхэр, адыгэу ди Хэкужьым щыпсэухэр, нэгъуэщ1 фондхэр, хамэщIым щыпсэу адыгэхэу ХэкужьымкIэ къаплъэхэр, зигурэ зипсэрэкIэ Хэкужьым пыщIахэр.
– Дэ къыддэIэпыкъун хуейщ Дунейпсо организацэхэр, фондхэр, ЮНЕСКО-р.
Дауэ мыхъуми илъэс къэс нэрыбгэ щэ бжыгъэ адыгэбзэрэ адыгэ хабзэрэкIэ гъэнщIауэ, университетхэм щIэдгъэтIысхьэфыу гъэпсын хуейщ.. Ахэм Университетхэр къауха иужь къагъэзэжынущ я Хэкужь.
Апхуэдэ Iуэхугъуэ зепхьэныр псынщIэщ, упылъу щытмэ, нэрылъагъуу дахэщ, фIыщ.
– Апхуэдэ сабий IыгъыпIэм къащтэну къанхэр лъэпкъкIэ зэхэдзауэ щытын хуейкъым, атIэ ар урысуи ирехъу, абази, балъкъэри, нэгъуеи ирехъу, ауэ и анэ-адэм зэзэгъыныгъэ дэщIауэ адыгэбзэкIэ щIэныгъэ зыгъуэтыну хуей сабийхэращ.
– Адыгэбзэр, адыгэ хабзэр мыкIуэдыным шхьэкIэ, бзэмрэ хабзэмрэ зыгъэпсэун ц1ыхущ дызыхуеир, мыхъумэ лъэпкъ щхьэхуэ хэубыдыкIакъым.
-Абы дэщIыгъуу университетхэм щIалэегъаджэхэр (егъэджакIуэхэр) щыгъэхьэзырын хуейщ, адыгэ курыт еджапIэм, адыгэбзэ институтым, Адыгэ университетым щезыгъэджэнухэр.
– ЕджакIуэхэр зэрырагъэджэну Программэр Урысей Федерацэм урысыбзэкIэ гъэунэхуауэ иIэ Программэр зи лъабжьэращ.
– Тхылъ сабийхэр зэреджэнухэр гъэхьэзырын-зэдзэкIын хуейщ адыгэбзэкIэ: хьисэпри, химиери, физикэри, ботаникэри нэгъуэщIхэри.
«АдыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейщ»,- щыжысIэкIэ абы зэдзэкIын куэд хэлъкъым: щIэныгъэ щхьэхуэ къэс езым и бзэ щхьэхуэ иIэщ. Хьисэпыр зэрытхари зэраджри урысыбзэкъым ик1и инджылызыбзэкъым, дэ къызэрытщыхъум хуэдэу, атIэ хьисэпыбзэщ. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи хьисэп нагъыщэхэр зыщ я мыхьэнэкIи я сурэткIи. Радикалыр v адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи, инджлыбзэкIи зыуэ щытщ.
Химием дежи, дэтхэнэ бзэмкIи Н2О-р – псыщ. Апхуэдэщ щIэныгъэ псорик1. ИкIи псынщIэщ ахэр зэбдзэкIыну, ауэ упылъын хуейщ, зэман ебгъэхьын хуейщ.
Адыгэ мэкъамэ дахэхэр зэратхри урыс, инджылыз, испан мэкъамэ зэратхри зы бзэщ – мэкъамэбзэщ, музыкэм и бзэщ. Абы нэрылъагъу ещI музыкэ щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыным щхьэкIэ узыхуэныкъуэр мэкъамэбзэр зэрыарам.
Шахматым езым и бзэ иIэщ, икIи е2-е4 жэуэ щыптхкIэ ар инджылызми, урысми, адыгэми къыгуроIуэ, ар лъэпкъыбзэкъым, атIэ шахмат щIэныгъэм и бзэщ.
Бзэр зэзыгъэпэщыжа лъэпкъхэу щапхъэ дэгъуэ дыдэхэр щыIэщ. Журтхэм (еврейхэм) илъэс минкIэ иримыпсалъэжауэ журтыбзэ Израилым деж зэрагъэпэщыжащ. Нобэ журт сабийхэм журтыбзэкIэ щIэныгъэ ирагъэгъуэт. Тыркухэм я бзэр ягъэкъэбзащ. Абы нэхъ зэхэтхъуа гъуэтыгъуейт, ауэ тыркубзэр ягъэкъабзэжри зэрагъэпэщащ тыркубзэ къабзэ, икIи сабийхэм щIэныгъэ зэрагъуэтыр тыркубзэщ.
Тыркубзэр нэсу зыухуахэм адыгэм и бын куэди яхэтщ. Щапхъэу къэпхь хъунущ тхакIуэу Омер Сейфиддин (Хьэткъуэ), мы Дунейпсо литературэм и «классику» къалъытар.
ЩыIэкъым бзэ цIыкIу е бзэ ин. ЩыIэу щытми адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм, нэхъ дахэхэм, нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-Iэрыхуэ дыдэхэм ящыщ. Дунейпсо бзэщIэныгъэм къызэрилъытэмкIэ адыгэбзэм и мыхьэнэр къызэрымыкIуэу инщ. Абы къикIуа гъуэгур апхуэдизкIэ кIыхьщи уасэрэ пщIэуэ бзэщIэныгъэлIхэм хуащIыр мылъытэщ. Адыгэ-Абазэ бзэ гупыр зыхыхьэ Ищхъэрэ-Кавказ бзэ быным и ныбжьыр индо-европей, алтай, угро-фин бзэ бынищым зэхэту я ныбжьым хуэдизщ. Абыми къыхэкIыу дэтхэнэ зы адыгэми ди анэдэлъхубзэр тхъумэн хуейщ, дгъэпсэун хуейщ.
«ДиIэкъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну! Тхъумэн-дгъэпсэун жыхуэтIэм къикIыр зыщ – нэхъыбэу дырипсэлъэн, дырилэжьэн, Дунеим дырытетын, дыреджэн, езыри едгъэфIэкIуэн»- жиIауэ щытащ Хьэкъун Бэрысби, еджагъэшхуэ, ботаникэ-мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ тхылъ гъэщIэгъуэнхэр адыгэбзэкIэ зытхыу къыдэзгъэкIам. Хьэкъун Бэрысби хуэдэхэм яхузэфIэкIынущ адыгэ курыт еджапIэр зыхуэныкъуэну, ботаникэмрэ, мэкъумэш щIэныгъэхэмрэ епхауэ сабийхэр зэреджэну тхылъхэр адыгэбзэкIэ тхуагъэхьэзырыну. Нэгъуэщ1 адыгэ щ1эныгъэрылажьэхэми ягъэхьэзырыфынущ апхуэдэ тхылъхэр.
Щапхъэ дахэу щыIэщ нобэ Къэралыгъуэм имейуэ, цIыху щхьэхуэхэм къызэрагъэпэщауэ бзэщIэныгъэ университетхэр. Урысей Федерацэм и деж нэхъыфI дыдэхэм хабжащ апхуэдэ университету адыгэ бзылъхугъэ щIэныгъэрылажьэ бзэщIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА и академик Сэкий Риммэ къызэригъэпэщар.
«Адыгэбзэм къэкIуэн иIэкъым»- жызыIэм дыкъегъапцIэ, ар академик тIуащIэу щытми. Псори зэлъытар бзэр зей лъэпкъращ. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдэхэнущ, игъэкъэбзэнущ. Апхуэдэ лъэпкъми езым хуэфащэу Дунейпсо бзэщIэныгъэм къызэдагъэува бзэ Iуэхур зэфIэзыхын Тхьэмадэ Тхьэм къыритынущ.
Урысым урысыбзэр игъэкъэбзэн игугъэщ икIи сыт щыгъуи иолэжь а Iуэхум. Урысей Федерацэми и Хабзэм жиIэр аращ: Дэтхэнэ цIыхуми бзищ зэвгъащIэ: фи лъэпкъыбзэр, урысыбзэр, хамэщIыбзэр.
Аращи дэри дытевгъэувэ щIэныгъэбзэм, адыгэбзэ лъабжьэ едывгъэти! Адыгэбзэри тхъумэнущ, щIэныгъи нэхъ куууэ дгъуэтынущ, лъэпкъри къызэтена хъунущ.
«Iуэху мыублэ блэ хэсщ» – жеIэ адыгэм. Iуэхур щIэбдзэмэ кIуэнущ.
Дытевгъэувэ зы гъуэгу, и гъащIэр кIыхь хуэдывгъэщI адыгэбзэм, ди дадэжь нанэжьхэм къащIэнам! Ди анэ-адэхэм ябзэр, ди Хабзэ дахэм и бзэр къахуэдывгъэгъанэ ди къуэрылъху пхъурылъхухэм!
Ди лъэпкъыр къызэтенэну дыхуейуэ щытмэ, ди адыгэ хабзэр псэуну дыхуейуэ щытмэ, зы гъуэгу закъуэщ щыIэр – Ди щIэблэм адыгэбзэкIэ щIэныгъэ ядгъэгъуэту дгъэпсын хуейщ.
НэмыщI гъуэгу щыIэкъым! Къэралыгъуэ хабзэкIэ – Урысей Федерацэм и ХабзэкIэ – ди сабийхэм щIэныгъэ я анэдэлъхубзэкIэ ягъуэту щытын хуейщ!
«АдыгитI зэхуэзэмэ зэзэгъкъым»- жэуэ япэ дыдэ жызыIар адыгэ лъэпкъым и бийщ. Зэхуэзахэр адыгэу щытмэ, адыгэ хабзэкIэ къызэдекIуэкIмэ дауэрэ ар зэмызэгъынрэ?! А тIур адыгэу щытмэ зыр зым хуэсакъынущ, ихъумэнущ. Ахэр адыгэу щытмэ! Дэри дыадыгэу дыщытмэ, е адыгэ дыхъужыну дыхуеймэ дызэкъуэвгъэувэ, зыдывгъэхъумэж.
УсакIуэ Бемырзэ Мухьэдин «Уадыгэным къикIыр» фIэщыгъэцIэ зиIэ усэм щыжеIэ:
Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ.
АдэкIи щIоупщIэ:
Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?!
Къэвгъуэти тхыдэм зэ щищIыж ди гугъу,
Ди гъащIэ тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!
Сыт щыгъуи зытхъумэжурэ дафIэпсэуащ дигъащ1эм, нобикI дыкъикIын хуейщ дызэрыт щытыкIэм, ноби псэук1э тэрэз къэтщтэжын хуейщ!
Апхуэдиз зи лъэпIагъ, зи лъэгагъ мы Дунеишхуэм цIэрыIуэ щыхъуа Адыгагъэр зей лъэпкъым ар тхъэжурэ къигъэщIакъым, атIэ махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэс елэжьурэ, зыкIэлъыплъыжурэ, зихъумэжурэ, зэригъэпэщурэ, телъэщIыхьурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ, апхуэдэурэ Адыгэ зищIащ адыгэм. ИкIи нэхъыбэ дыдэу а фIагъ псор зэзгъэпэщар адыгэ бзылъхугъэращ, абы и губзыгъагъэращ.
Адыгагъэр зэхэзгъэувари, хъулъхугъэр (цIыхухъур) адыгэлI зыщIари мы Дуней псом я нэхъ губзыгъэу Адыгэ бзылъхугъэращ. ИджырикI Адыгэ Лъэпкъым и гугъапIэр, бзэри хабзэри къэзыIэтыжыфынур Адыгэ бзылъхугъэращ!
Нобэ «Бзэм сыхуэлэжьэнущ, зы Iыхьэ тIэкIу хэслъхьэнущ», жызы1э дэтхэнэ ц1ыхуми ар зэригъэпсын гъуэгу игъуэтынущ. «ДэIэпыкъуэгъу мылъкукIэ сыфхуэхъунущ»-жызыIэм зы сом, сомипщI нэхъ имыIэми фондхэр зэ1уфхи хэфлъхьэ. Сом бжыгъэу хэфлъхьэм елъытакъым фIагъыу къэфхьынур, атIэ зэрыхэфлъхьэращ нэхъ лъапIэр, адыгэбзэм хуэгумэщIым и бжыгъэр нэрылъагъу зэрыхъунуращ.
Тхьэм иригъэф1ак1уэ адыгэбзэр! Гъуэгу техьэ тенэгъым. Тхьэм гъуэгу Махуэ тришэ ди адыгэбзэр!
21.02.2015
Для тех, кто впервые знакомится с деятельностью Русфонда
Русфонд (Российский фонд помощи) создан осенью 1996 года для помощи авторам отчаянных писем в газету «Коммерсантъ». Проверив письма, мы размещаем их в газетах «Коммерсантъ» (Москва), в газетах «Ставропольская правда», «Ставропольский бизнес», на сайтах rusfond.ru, livejournal.com, «Эхо Москвы», Здоровье@mail.ru, в эфире «Первого канала», на телеканалах ГТРК «Ставрополье», «СТВ», а также в 51 печатном, телевизионном и интернет-СМИ в различных регионах РФ.
Решив помочь, вы получаете у нас реквизиты фонда и дальше действуете сами либо отправляете пожертвования через систему электронных платежей. Возможны переводы с кредитных карт, электронной наличностью и SMS-сообщением, в том числе из-за рубежа (подробности на rusfond.ru). Мы просто помогаем вам помогать. Читателям и телезрителям затея понравилась: всего собрано $183,5 млн. В 2015 г. – 114 864 354 руб.
Мы организуем и акции помощи в дни национальных катастроф. Фонд – лауреат национальной премии «Серебряный лучник». Президент Русфонда – Лев Амбиндер, лауреат премии «Медиа-менеджер России» 2014 года в номинации «За социальную ответственность медиа-бизнеса».
Реквизиты:
Благотворительный фонд «РУСФОНД», ИНН 7743089883, КПП 774301001, р/с 40703810700001449489 в ЗАО «Райффайзенбанк» г. Москва, к/с 30101810200000000700, БИК 044525700.
Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.
Адрес фонда: 125252, г. Москва, а/я 50; rusfond.ru; e-mail: rusfond@kommersant.ru.
Телефоны: в Москве 8-800-250-75-25 (звонок бесплатный, благотворительная линия МТС), факс 8-(495)- 926-35-63.
Русфонд в Ставропольском крае: 8-928-328-02-09, rusfond26@mail.ru, sk-news@mail.ru бюро Русфонда в Cтавропольском крае.
21.02.2015
Русфонд: Как помочь ребенку
Основные способы перевода пожертвований в Русфонд
1.Через банк
Прийти с реквизитами фонда (см. ниже) в любой банк и сделать перевод. Внимание: Сбербанк не облагает переводы в Русфонд комиссией. В строчке «назначение платежа» обязательно укажите, какому ребенку конкретно вы хотите помочь (Например: Пожертвование на лечение Имя Фамилия (ребенка в данной публикации СМИ). НДС не облагается).
2. Через терминал QIWI (КИВИ)
Выберите кнопку «Оплата услуг», затем «Другие», затем кнопку «Благотворительность» и Русфонд («Российский фонд помощи»). Введите свой номер телефона и внесите пожертвование. Внимание: эта помощь безадресная. Если вы хотите, чтобы пожертвование поступило именно детям из Ставропольского края или конкретному ребенку, то после перевода сообщите его имя и фамилию нам по телефону: +7 (928) 328-02-09.
3. Через банковскую карту
Зайдите на страничку Русфонд в Ставропольском крае http://rusfond.ru/stavropol, выберите раздел «Как помочь» и отправьте деньги с банковской карты Visa или MasterCard.
4. Другие способы
На сайте rusfond.ru вы найдете и другие способы перечисления пожертвования и сможете выбрать для себя наиболее удобный. Например, получить и распечатать счет для оплаты в любом салоне связи «Евросеть», «Связной», МТС, «МобилЭлемент», «АльтТелеком», оплатить через кошелек Rbk Money, Webmoney, через систему Яндекс.Деньги, «Contact» и «Лидер», получить квитанцию для перечисления через Почту России.
21.02.2015
Оправдание добра: Улыбка ребенка объединяет миллионы людей
Дорогие друзья! SK-NEWS.RU поддерживает благотворительный проект Русфонда, стартовавший в Ставропольском крае. Эта страница будет выходить регулярно с письмами попавших в беду людей. Им нужна помощь, у них тяжелобольные дети и нечем платить за спасение. Вообще-то эта страница для всех: для отчаявшихся людей и для людей сострадательных, способных помочь.
17.09.2014
Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.
Конкурс, объявленный среди учащихся 9-11 классов, оказался разнообразен географически, участвовать в нем съехались 160 ребят, причем не только из нашей республики, но и из Карачаево-Черкесии, Адыгеи, Ставропольского края. Основная часть прошла в Национальной библиотеке имени Т. К. Мальбахова, где старшеклассники писали очное сочинение.
«Были предложены десять ключевых слов, из которых ребята выбирали те слова, которые они могли бы обыграть, развить и изложить в своих сочинениях. Никаких ограничений не было», – пояснил корреспонденту РИА «Кабардино-Балкария» Мурат Табишев, руководитель ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы имени Кази Атажукина.
Он добавил, что конкурс получился интернациональным, участие в нем приняли и представители других национальностей, изучающих адыгэбзэ.
За каждое место ребята получат денежные призы, а те счастливчики, кто получил первое место в любой из четырех номинаций, решением ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы будут получать стипендию имени Кази Атажукина в течение всего года. Помимо этого любой участник конкурса, при условии поступления на факультет черкесского языка, в течение двух лет будет получать вышеназванную стипендию.
«Объявление конкурса вызвано желанием стимулировать интерес к изучению своего языка среди подрастающего поколения. Сочинения были оригинальны каждое по-своему, умение изъяснять художественно оформленную мысль среди молодых людей радует, и если среди конкурсантов найдутся желающие поступить на факультет черкесского языка, наша миссия будет выполнена. Во время конкурса о таком желании заявили уже семь человек», – сказал Мурат Табишев.
Ассоциация имени Кази Атажукина действует уже на протяжении двух лет, выявляя талантливых подростков и поддерживая интерес к изучению родного языка.
© РИА «Кабардино-Балкария», 2014
Гъыщ Казбек я 11-рэ В классым ис еджак1у.
2012-рэ илъ.
Адыгэ хьак1эщыр.
«ХьакIэ» мы гущыIэр адыгабзэм къызхэхьагъэр адыгэ лъэпкъым, адыгэ цIыфмэ азфагу зэфыщытыкIэ гъэнэфагъэхэр илъы зыхъугъэм щегъэжьагъэн фае. Адыгэ лъэпкъыр анахь лъэпкъыжъэу Кавказым исмэ ащыщ. Арэу зыхъукIэ, мы гущыIэм ыныбжь илъэс мин пчъагъэкIэ плъытэн плъэкIынэу къысщэхъу.
Унагъор адыгэмкIэ осэнчъэу щытыгъ. Ащ ис цIыфмэ азыфагуи хэбзэ гъэнэфагъэхэр илъыгъ. А пстэуми япхыгъэу адыгэм ипсэукIэ, ищагу ыгъэпсыщтыгъэ. Псэуалъэу ышIыщтыгъэхэр, непэ тлъэгъурэ мыжъо, чырбыщым ахэмышIыкIыгъагъэми, лъэхъанэу зыщишIырэм елъытыгъу, псэуалъэ пэпчъ чIыпIэ гъэнэфагъэ щагум щаубытыщтыгъэ.
Амал горэ зиIэу, зышъхьэ зылъытэу, уасэ зыфэзышIыжьырэ адыгэ пэпчъ ищагу хьакIэщ дэтыгъ. Ащ ипчъэ хэт фэдэрэ хьакIэмк1и зэIухыгъагъ.
ХакIэщыр апэу узIуорэ псэолъагъ. Къэлапчъэм пэмычыжьэу агъэуцущтыгъ. ХьакIэщ пчъэIум Iудзыгъэу шышIоIу агъэуцущтыгъ. Ар мыгъум дэдэу ыкIи мыпсыгъо дэдэу чъыгыпкъэу, къутэмабэ щызэбгырыкIэу къыхахыщтыгъ. Пытэу чIыгум хатIэщтыгъ. ШхомлакIэр шIохадзэмэ къышIомызынэу къутамэхэр пахыкIыщтыгъ. ШышIоIум ыщэчын фэягъэ шы хьэкъу-жъокъу зытIущым акIуач1э.
Джы хьак1эщ унэм тихьан. Унэ кIоцIыр хъоо-пщаоу, гуIэтыпIэу агъэпсыщтыгъэ. ХьакIэмэ апай гъолъыпIэ зытIу итэу, тIысыпIэхэри хьакIэщым рагъэуцощтыгъ. ГъолъыпIэм ышъхьагъ алырэгъу зиIэм пилъэщтыгъ. ащ ыкIыIукIэ лъытэныгъэ ин зыфашIырэ хъулъфыгъэу унагъом исыгъэм иIэшэ-шъуашэ палъэщтыгъ.
Унагъом иблагъэми, иIахьылми е зыпарк1и фыщымытми зэригъэлъэгъунхэу, зыщигъэпсэфынэу къахахьэрэр ары адыгэхэр хьакIэкIэ заджэщтыгъэхэр.
ХьакIэ къызфэкIогъэ унагъор илыягъэу гумэкIыщтыгъ. ХьакIэм гъогууанэ къыкIугъэу, пшъыгъэу щытмэ, бэ тырамыгъашIэу гъомылэ хьазырэу яIэм щыщ фырахьэщтыгъ, хагъаIэщтыгъ. Адыгэ бзылъфыгъэ Iушэу, унэгъо тэрэз щапIугъэм гъэтIылъыгъэ IэпэчIэгъанэ имыIэу хъущтыгъэп. Ар къеушыхьаты мы гущыIэжъ дахэм: «ХьакIэ къэкIощт Iори гъэтIылъ, бэрэ щылъыгъ пIоу умышхыжь». ХьакIэм гъомылэм ишIу фызэблахыщтыгъ. ХьакIэр щысын хьак1эмэ, е псынкIэу тэджыжьынэу щытмэ кIэпщыр пчъаблэм зэрэпилъагъэмкIэ къашIэщтыгъэ.
ХакIэм гухэлъэу иIэмкIи, зыщежьэжьыщтымкIи бысымыр еупчIыщтыгъэп, хэбзагъэп. Ежь хьак1эм къы1омэ арыгъэ зиш1эщтыгъэр.
ХьакIэр щысын хьакIэмэ иши чIыпIэ къыфагъотыщтыгъэ, агъашхэщтыгъ, бэрэ щымысыщтымэ шышIоIум дэжь щагъашхэщтыгъ.
ХьакIэщыр, ныбжьыкIэхэр пIугъэн гъэсэгъэнхэмкIи, чIыпIэшIоу щытыгъ. ХьакIэр зэрагъэлъэгъунэу, рамгъэзэщынэу чылэм лIышIоу дэсмэ бысымым макъэ аригъэIущтыгъ къакIощтыгъэх. НыбжьыкIэу ащ къекIуалIэщтыгъэри
мэкIагъэп.
ХьакIэми, ар лIы цIэрыIоу лIы шъыпкъэу щытыгъэмэ, хэгъырэйхэми къэбар гъэшIэгъонэу, акъыл зыхэпхынэу къаIотэн алъэкIыщтыгъэр бэ.
ХьакIэщым унагъом ис хъулъфыгъэу жъы хъугъэу, зишыуанэ зэтезымыхыщтыгъэу, зилIыгъэ чIып1абэмэ ащызыушэтыгъэмкIи, зэщтегъэупIэ дэгъоу щытыгъ. Пчыхьэрэ ащ фэдэ лIым дэжь ежь фэдэуи нахь ныбжьыкIэхэуи чылэм адэсхэр къакIощтыгъэх, якIэлэгъум алъэгъугъэхэмрэ, къяхъулIагъэхэмрэ агу къагъэкIыжьыщтыгъэх. Ащ фэдэ къэбархэр, ныбжьыкIэхэр пIугъэнымкIэ, яшIэныгъэ, ягулъытэ нахь куу хъун, зиушъомбгъунымкIэ уасэ зимыIэ амалэу щытыгъ. ХьакIэщыр ныбжьыкIэхэмкIэ ублэпIэ еджапIэу щытыгъэу пIон плъэкIыщт.
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжыр (унафэщIыр Пщыбий Светланэщ) сыт щыгъуи цIэрыIуэщ ирагъэкIуэкI егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэмкIэ, ягъэхьэзыр IэщIагъэлIхэмкIэ. А Iуэхугъуэм къыдэкIуэу колледжым дапщэщи щокIуэкI гъэсэныгъэм епха лэжьыгъэ купщIафIэхэри. ЩIалэгъуалэр адыгэм игъащIэми къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэм хуэущииным, лъэпкъ гъэсэныгъэ яхэлъхьэным хуэгъэпсат колледжым иджыблагъэ щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхуэсыр. Ар епхат Адыгэхэм (шэрджэсхэм), Адыгэ фащэм я дунейпсо махуэхэр гъэлъэпIэным.
«Хабзэр Iэт, лъэпкъым къуэт!» къыхуеджэныгъэм щIэту екIуэкIа зэхыхьэм жыджэру хэтащ колледжым и студентхэр, абы адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж лэжьакIуэ пашэхэр, IэнатIэм и унафэщIхэр. Ахэр псори щызэхуэсат еджапIэм и щIыбагъ пщIантIэшхуэм.
ГуфIэгъуэм екIуу къыхузэрагъэпэщат а пщIантIэм и утыкушхуэр. ДэнэкIи щыплъагъурт «Дызэкъуэтмэ, дылъэщщ!», «Сэ сыадыгэщ, ар ину жызоIэ!», «Си бзэ — си псэ, си дуней!», «Фарзщи, адыгагъэм фемыIусэ, ар псэунщ, бэуэхукIэ зы адыгэ», «Утыку зэрихьэр лъапэщи, къызэрикIыжыр напэщ!», «ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу», «Хабзэр лъэпкъым и набдзэщ» хэкупсэ къыхуеджэныгъэхэр, «Уи анэбзэр гъафIэ, Ар бгъэ дамэу шэщI. Адэжь и жьэгу мафIэу, Тхуахъумам ар пэщI», «Мы уэмрэ щIымрэ яку дэт адыгэр, Зэдэпсэуну хъуэхъур доIэт! Маржэ, адыгэхэ, фэ жыфIэрей: Си лъэпкъ, си тхыдэр — си дунейщ!», «Адыгэ къафэ, Адыгэ къафэ, Адыгэм псэуэ иIэр уэращ. «Адыгэ щIылъэ, Адыгэ уафэ», — ЖезыгъэIэжыр уи фащэращ!», «Гъагъэ, бжьыфIэ, си Адыгэ лъахэ, Гугъэ нэхуу уиIэр уэ къыбдрехъуж. БгъэIун уи цIэр зы зэман плъэкIащи, Ар ди гъащIэ хабзэ хэткIи ирехъуж!» усэ сатырхэр.
ГуфIэгъуэ зэхуэсыр къызэIуахащ икIи ирагъэкIуэкIащ студент пашэхэу Къуэдз Аслъэнрэ Дэхъу Аидэрэ. Къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуа нэужь, ахэр тепсэлъыхьащ Адыгэхэм, Адыгэ фащэм я дунейпсо махуэхэм я къекIуэкIам.
— ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгур кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. Апхуэдэу щытми, адыгэхэр тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь къэзыкIуа лъэпкъ уардэщ. Адыгэ-абхъаз-абазэ лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар зыдж еджагъэшхуэ куэдым къызэралъытэмкIэ, адыгэхэм я къежьапIэу убж хъунущ илъэс минитхукIэ узэIэбэкIыжмэ щыIа Хьэт къэралыгъуэр. Ди лъэпкъыр езыр сыт щыгъуи зэрызэджэжу щытар — адыгэщ, бзэуэ тIурылъри адыгэбзэщ; гъащIэ щIыкIэу, гъэпсыкIэу, дуней тетыкIэу, цIыху зэхущытыкIэу диIэм зэреджэр адыгагъэщ, адыгэ хабзэщ. Адыгэхэм къэткIуа илъэс мин бжыгъэ хъу гъащIэ гъуэгум нэгъуэщI лъэпкъхэм къытфIащауэ, къридэджэу щытауэ тхыдэм цIэ куэд хэтщ. НобэкIэ дэ дуней псом дыкъацIыху «адыгэ», «шэрджэс» псалъэхэмкIэ, — жаIащ абыхэм. — Адыгэхэр щопсэу Урысейм хыхьэ Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм. Адыгэу Урысейм исыр мин 750-м нос. КъинэмыщIауэ, хамэ къэралхэм адыгэу щопсэу мелуаниблым щIигъу. Абыхэм я нэхъыбапIэр Тыркум щыIэщ, адыгэ щымащIэкъым Сирием, Мысырым, Иорданием, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и адрей къэралхэми, Балканым, КъухьэпIэ Европэм, Америкэм.
Аслъэнрэ Аидэрэ къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIащ адыгэхэм я лъэпкъ лIакъуэ 12-м. Абыхэм я цIэхэр: къэбэрдей, натыхъуей, беслъэней, еджэрыкъуей, жаней, мэхъуэш, хьэтыкъуей, шапсыгъ, абазэхэ, адэмей, кIэмыргуей, бжьэдыгъу — зытет «вагъуэхэр» Iэтауэ яIыгът адыгэ фащэ екIухэр зыщыгъ еджакIуэхэм. ГуфIэгъуэм кърихьэлIахэм ящыщ куэдым абдежым, дауи, ягу къэмыкIыжу къэнакъым лъэпкъ шэрджэс усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин и къалэмыпэм къыпыкIа сатырхэр:
Адыгэ лъэпкъым и Iэпкълъэпкъ
пщыкIутI —
Адыгэ анэм и зэш бын гъуэзэджэ,
Фэ адэжь хэкум вагъуэу фыщылыдт,
Фыкъэзылъагъухэр къывэхъуапсэу
зэкIэ.
АдэкIэ псалъэмакъыр траухуащ ди щIыналъэм и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм я нэхъыщхьэ Iуащхьэмахуэ.
— ЖьакIэху хъужу Кавказ къуршым къыщхьэщытщ «Насыпым и IуащхьэкIэ» зэджэ а бгышхуэр. Зи дахагъэм уемыплъыф, жьыр щыкъабзэ, къыщIэж псыр хъущхъуэ Iуащхьэмахуэ дэкIыну емыхъуапсэ щымыIэми ярейщ, — къыхагъэщырт студентхэм. — Ди хэку дыщэр я усыгъэхэм къыщагъэлъэгъуащ ди лъэпкъ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэми, ар фIыщэу зылъэгъуауэ щытахэу Пушкини Лермонтови, Толстойми, Грибоедовми.
КупщIафIэу, хьэлэмэту къызэрагъэпэщат зэхуэсыр. Абы щытепсэлъыхьащ адыгэхэм ди хабзэхэм, лъэпкъ фащэм, Iэщэ-фащэхэм, дуней псом щыцIэрыIуэ ди адыгэшым, щIыпIэ куэдым щызэлъащIыса ди къафэхэм, лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщ нэгъуэщI нэщэнэхэми. Апхуэдэу гулъытэншэ хъуакъым адыгэ Iэнэри. Адыгэхэр сыт хуэдэ лъэхъэни шхынкIэ жумарту, хьэщIэкIэ фIыуэ зэрыщытари къыхагъэщащ. Махуэшхуэм къыхузэрагъэпэща адыгэ шхыныгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къулейри а псалъэ-хэм я щыхьэтт. Махъсымэ, мэжаджэ, кхъуейжьапхъэ, джэдлыбжьэ, лыгъурлыбжьэ, джэшлыбжьэ, джэдыкIэрыпщ, щIакхъуэ зэтеупIэщIыкI, хьэлыуэ, жэмыкуэ, пIастэ, нэгъуэщI куэди щыплъагъурт студентхэм яухуа адыгэ Iэнэхэм.
Махуэшхуэм хэтхэм я гукъыдэжыр нэхъри къаIэтащ КъБКъУ-м уэрэдымкIэ и театр «Амикс» гупым, медколледжым и студентхэм ягъэзэщIа уэрэдхэм, къафэхэм, ахэр къызэджа усэхэм. Куэдым гукъинэ ящыхъуащ Бейкъазы Тамерлан, Сатушы Инарэ, Атэщауэ Мадинэ, Амщокъуэ Амырхъан, Емзэгъ Ислъам, ВэрылI Эльмирэ, нэгъуэщIхэми ягъэзэщIа уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ. Лъэпкъым и щIыхьыр, и пщIэр зыIэтт студентхэр зыхэщIэгъуэу къызэджа усэхэр. Абыхэм я псалъэхэм гур хагъахъуэрт, илъэс мин куэд къэзыкIуа лъэпкъ уардэм узэрыщыщым папщIэ пагагъэ къыпхалъхьэу. ГуфIэгъуэр зэхуащIыжащ махуэшхуэ джэгукIэ.
Адыгэхэм (шэрджэсхэм), Адыгэ фащэм я дунейпсо махуэхэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным икIи егъэкIуэкIыным я зэфIэкI ирахьэлIащ медколледжым и егъэджакIуэхэу Срыкъуэ Юлиерэ КъуэщIысокъуэ Зухрарэ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм абыхэм щагъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр, шэч хэмылъу, еджапIэм щекIуэкI гъэсэныгъэ Iуэхухэм я зы Iыхьэ къудейуэ аращ. Лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIалэгъуалэр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр нэхъри яфIэгъэщIэгъуэн хъунымкIэ апхуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм шэч хэлъкъым. Адыгэ усакIуэшхуэ Бемырзэ Мухьэдин зэрыжиIащи,
Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,
Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,
Хъуэхъум я нэхъыфIыр зыхыуагъэхыу,
Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу,
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
… Уи нэмыс, уи фащэ, уи джэгукIэм
Уи щIэблэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,
УщIэпсалъэр, узэпсалъэр пщIэжу,
Уи Хэку лъапIэр тыгъэкIэ бгъэпэжу,
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщ “Си анэбзэ, си адыгэбзэ” зи фIэщыгъэцIэ Тхыгъэ Зэпеуэри абы теухуащ. 9-11 классхэм хэс еджакIуэхэр мы зэхьэзэхуэм хэтыну, анэдэлъхубзэр зэращIэр, я гупсысэр тхыгъэм зэрырагъэзэгъыр, адыгэ тхыбзэ хабзэхэм зэрыщыгъуазэр къагъэлъэгъуэну ди гуапэу къыдогъэблагъэ.
Зэхьэзэхуэм кърихьэлIэну ныбжьыщIэхэм я пащхьэ итлъхьэнущ зытеухуарэ къаIуатэкIэ зэмыщхь псалъэ гуп. ЕджакIуэм и гупыжкIэ къыхиха псалъэр е зэгъусэ ищIа псалъитI-щыр зы гупсысэм иришалIэу и гурылъ-гурыщIэхэр, и Iуэху еплъыкIэхэр, и дуней лъэгъукIэр къызыхэщ тхыгъэ игъэхьэзырын хуейуэ аращ.
Дэтхэнэ зы классми 1, 2, 3-нэ увыпIэхэр щаугуэшынущ. Тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэр зи IэдакъэщIэкI еджакIуэхэм фIыщIэхуэщIэ тхылърэ ахъшэ тынкIэ яхуэупсэнущ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIа дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и лэжьыгъэр щытхъу тхылъкIэ къыхагъэщынущ. Абы щыфIэкIауэ Адыгэбзэ Хасэм игъэува ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер япэ увыпIэр къэзыхьыну 11-нэ классым хэс еджакIуэм хуигъэфэщэнущ. Стипендиер гъэ еджэгъуэр икIыхункIэ еджакIуэм мазэ къэс иратынущ.
Зэпеуэм хэтахэм щыщу адыгэбзэм хуеджэн гухэлъкIэ ЕджапIэ Нэхъыщхьэ щIэтIысхьэну еджакIуищми ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер хуагъэувынущ.
Адыгэбзэ Хасэм и гугъэщ зэхьэзэхуэм къыхэкIыну лэжьыгъэхэр, зытхахэм я цIэ-унэцIэр хэмыгъуащэу, зэхуихьэсыжу тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIынуи.
2014 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м ирихьэлIэу зэхыхьэну “Си анэбзэ, си адыгэбзэ” Тхыгъэ Зэпеуэр щекIуэкIынур Налшык къалэ дэт Мэлбахъуэ Темборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ Библиотекэрщ.
ЩыщIидзэнур сыхьэтыр 14.00
Сызэрыц1ык1урэ, ди бзэу адыгэбзэм сигъэгушхуэу,къару къысхилъхьэу сыщытащ.Бзэм и щэху псори къэсщ1эну,абы и дунейм “сыщыхьэщ1эну” аращ еджап1э нэхъыщхьэм сыщ1ыщ1эт1ысхьар.Ар къэзуха нэужь,курыт еджап1эм адыгэбзэмрэ литературэмк1э егъэджак1уэу сащтащ.Пэжыр жыс1энщи,мы дерсит1ыр зыф1эф1 еджак1уэ япэ махуэхэм щыщ1эдзауэ срихьэл1акъым.Зы сыхьэтым нэхърэ адрей сыхьэтыр нэхъ гъэщ1эгъуэн,гурыхь,къулей зэрысщ1ын,сабийхэм бзэм хуа1э еплъык1эм зезгъэхъуэжын папщ1э сыщысхьакъым зэман.Абы къыхэк1ыуи къызэдгъэпэщат лъэпкъым и бзэм,хабзэм,дуней тетык1эм,хьэпшыпхэм,къафэхэм,фащэм теухуа музей “Адыгэ унэ”и ф1эщыгъэц1эу.”Ныбжьыщ1э Хасэ” щ1алэгъуалэ гупри зэхэдублат.Лэжьыгъэ мымащ1и едгъэк1уэк1ащ,пшыхь хьэлэмэтхэри дгъэлъэгъуащ,куей зэпеуэхэм япэ увып1эхэр къыщытхьащ.Мызэ-мыт1эу сабийхэм яуса,зэхалъхьа тхыгъэхэри газетхэм къытехуащ.К1эщ1у жып1эмэ,ди бзэр дгъэбзэрабзэрэ хабзэ-нэмысыр ди бзыпхъэу дыпсэууэ щ1эддзат.
А зэманым ирихьэл1эу еджап1э унафэщ1хэм ирагъэк1уэк1ырт “Гъэм и егъэджак1уэ” зэпеуэр.Еджап1эм япэ увып1эр къызэрыщысхьам къыхэк1к1э,куейм сагъэк1уащ.Мыбы сабийхэм уазэрыдэлажьэ псори утыку иплъхьэн хуейт.Сэри си къару сыщымысхьыжу Адыгэбзэм тезухуащ си гъэлъэгъуэныгъэхэр.Псоми ягу ирихьауэ,ди зэф1эк1и утыку итлъхьауэ,махуэр дгъэк1уащ.Ет1уанэ махуэм къызжа1ащ ф1ым я ф1ыж дахагъэ дгъэлъэгъуауэ.Ауэ адэк1э гъуэгур щыхуп1эм хуэк1уэу зэрыщытри къызгурагъэ1уащ.Къызэрапсэлъащи-Адыгэбзэк1э дерс ебгъэк1уэк1 хъунущ,ауэ республикэм ар щыбгъэлъагъуэ хъунукъым-куэдым къагуры1уэнукъым.Адыгэ щ1ыналъэ дисщ,адыгэбзэ т1урылъщ,ауэ адыгэбзэк1э егъэк1уэк1а хъуа дерсыр КЪАГУРЫ1УЭНУКЪЫМ!!!!Сытыт мыр жызы1а,къэзыпсэлъа ц1ыхум жеп1эфынур абы и ужьк1э?!Жагъуэкъэ-т1э ар?!Жагъуэщ!!!
А зэманым щыщ1эдзауэ сигу ислъхьащ адыгэбзэм и зэф1эк1 псори зэрысхузэф1эк1к1э къестхэк1ыну.Сыт хуэдэ лъэпкъми и зы дэтхэнэ ц1ыхуми ищ1эн хуейщ и бзэр.Къызгуры1уэркъым зи анэбзэр 1эщ1ыб зыщ1хэр…
Илъэс зыбжанэ хъуауэ къуршыщхьэ уэсыр зи къабзагъэу сыщалъхуа щ1ыналъэм сыпэжыжьэщ.Сигу къоуэ.Ауэ…Сытым хуэдэу сыгуф1эрэ мы къалэшхуэм(Москва) щ1ып1эк1эрэ къэ1у псалъэхэр адыгэбзэу щыщытым деж.Зэрыжа1эу,дамэ къысток1э…
Сы-адыгэщ!Куэдрэ интернетым щызолъагъу мы псалъэр.Ауэ мыр ф1эщыгъэц1э уэ зыхуэпщ1к1э зэф1эк1ыркъым.Уи бзэр пщ1эжрэ ,ар уэрсэру п1урылъу,макъыбэу зэрыбгъэлъэлърэ,ф1ым я нэхъыф1 щ1ып1эр хухэпхыу щытыпхъэщ.Илъэс мин бжыгъэхэм адыгэхэм я1урылъа адыгэбзэр нобэм къыщысак1э,абы и дэтхэнэ псалъэми дыгъэм и бзий тегъэпсапхъэщ,сыт хуэдэ щ1ыналъи щыгъэ1упхъэщ!
Республикэм адыгэбзэк1э зэхэлъхьа хъуа дерсыр нэмысами,сэ ар си анэбзэщ,абы къысхелъхьэ нобэми къару,ар си гъусэ пэжщ.Адыгэбзэр сыт зэрытщ1ынур жыф1эу фымылъей.Адыгэбзэр зыгъэпудыр хъунщ ар занщ1эу лей!!!!
Зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым и ехъулIэныгъэхэр иIэтрэ и фIым щыгуфIыкIыу щызэхыхьэ махуэ хэха имыIэу. Апхуэдэ махуэхэрщ цIыхубэм я гур щыз зыщIыр, къарукIэ, лъэкIыныгъэкIэ, акъылкIэ, щIэныгъэкIэ зыIэрагъэхьахэр къыщапщытэжыр, лъэпкъым и нэхъыжьри и нэхъыщIэри гуфIэу щызэхуэсыр. Адыгэ лъэпкъми апхуэдэ махуэшхуэ иIэныр яфIэигъуэу хухахауэ ягъэлъапIэ.
АБЫ ирихьэлIэу зэхыхьэ гуапэхэр мы махуэхэм IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм зэрыщекIуэкIым шэч хэлъкъым. Апхуэдэу ар щагъэлъэпIащ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инаркъуей къуажэм дэт курыт еджапIэми.
ЕкIуу зэгъэпэща пэшым куэд щызэхуэсат. Абыхэм яхэтт еджапIэм и унафэщI Тумэ Валентинэ, абы и къуэдзэхэу Шормэн Иннэ, Сэбаншы Беллэ, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр.
«Сэ сыадыгэщ!» фIэщыгъэр зиIэ пшыхььыр къызэIуихащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Хьэрэдурэ Эммэ. Къызэхуэсахэм хъуэхъу дахэкIэ захуигъэза нэужь, абы иджыри зэ ягу къигъэкIыжащ махуэшхуэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ къыхалъхьауэ зэрыщытыр икIи цIыху куэд зыщыгуфIы-кIа Iуэхур къэрал унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий 2014 гъэм щIигъэбыдыхьыжауэ зэрыщытар.
АдэкIэ псалъэмакъым зэпадзыжу пащащ зэIущIэр езыгъэкIуэкIынухэм. Апхуэдэу еджакIуэхэр тепсэлъыхьащ дунейм лъэпкъыу тетыр къехъуапсэу адыгэм зэрихьэу щыта хабзэ дахэ куэдым. Абыхэм ящыщщ цIыхухъухэр зекIуэ кIуэныр, хьэщIэр гъэхьэщIэныр, абы пщIэ хуэщIыныр, Iэнэ щысыкIэр, гъуэгу тетыкIэр, нэхъыжьыр лъытэныр, нэхъыщIэр гъэсэныр, нэгъуэщI куэдри.
Пшыхьыр гъэщIэгъуэн пщызыщIхэм ящыщт еджакIуэхэм адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэхэм я цIэхэр къызэрыраIуэр. Апхуэдэу абыхэм лъэпкъым и лIыгъэр къещежьэ адыгэ IуэрыIуатэм къыщыщIадзэри, Ридадэ, Андемыркъан, Инал, Идар Темрыкъуэ, нэгъуэщI лIыхъужь куэдми я цIэхэр къраIуащ.
Дызэрыт зэманми апхуэдэхэу ялъытэу, псалъэм папщIэ, адыгэ лъэпкъыр дуней псом цIэрыIуэ щызыщIа дирижёр Iэзэ Темыркъан Юрэ, сурэтыщIхэу КIыщ Мухьэдин, Пащты Герман, Црым Руслан, олимп чемпионхэу Шыхъуэ Борис, Ахэмын Еленэ, Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудрэн Беслъэн, Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Джэду Iэниуар, адыгэ литературэр утыкушхуэ изыша КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Алий, Шортэн Аскэрбий, КъардэнгъущI Зырамыку, IутIыж Борис, артистхэу ТIыхъужь Алий, ДыщэкI КIунэ сымэ, нэ-гъуэщI куэдми я цIэхэр къыжаIащ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ мыбы- хэм ящыщ дэтхэнэми адыгэ лъэпкъыр дунейпсо утыкум зэрыщагъэлъэпIа щIыкIэм: хэт щIэныгъэкIэ, хэт спорткIэ, хэт щэнхабзэкIэ. Абыхэм псоми зы къалэнщ ягъэзэщIар — «адыгэщ» жрагъэIащ, апхуэдэ лъэпкъ зэрыщыIэр зымыщIэ куэдым фIы и лъэныкъуэкIэ кърагъэщIащ, кърагъэхъуэпсащ.
Адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ хъуэпсапIэ нэхъ ин дыдэу иIар лъэпкъыр и щIэныгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъунырт. Мы гупым ар ягъэзэщIауэ жыпIэ хъунущ.
ЕджакIуэхэр пшыхьым къыщеджащ Джэдгъэф Борис и «Си адыгэ напэ», Шорэ Ахьмэд и «Налшык», «Си пшыналъэу лъэпкъ лIыхъужь», «Уэ уадыгэу укъыщигъэщIакIэ», АфIэунэ Лиуан «Зэ уадыгэну сыт и уасэ», Бемырзэ Мухьэдин «Уадыгэным къикIыр» усэхэм.
КъекIуэлIахэм иджыри зэ фIыщIэ хуащIыжри, зэIущIэр къафэ дахэкIэ зэхуащIыжащ.
ИСЛЪАМ Нащхъуэ.
Синэнэ 1эш1оу синэнэ к1асэм
Сэ къыс1уилъхьагъэр сиадыгабз.
Сыдэу тхьар еуи зыбзэ к1осагъэм,
Лъэпкъым ынапэр иныдэлъфыбз.
Нэхэе Р.
Сыбзэ – си Дунай,,, Мы гущы1ит1ум мэхьанэшхо я1.
Ц1ыфыр къызыхъук1э,быдзыщэм игъусэу ныдэлъфыбзэм имэкъамэмэ дунаим хащэ. Ц1ыф лъэпкъ пэпчъ ныдэлъфыбзэ и1. Сэ синыдэлъфыбзэу, дунаим иш1угъэ къысфызэ1узыхыгъэр – сиадыгабз. Бзэр – лъэпкъым ыпсэ зан. Дунаир зэрэзэхифырэр, ар зэрилъэгъурэр, ащ ш1уагъэу къыхихырэр, игухэлъ – гупшысэхэр, ихэбзэ зек1уак1эхэр, дэхагъэу щы1ак1эм хэлъыр – зэк1эми ныдэлъфыбзэр анэсы. Ныдэлъфыбзэр к1оч1эшхоу , зэк1ужьэу, гъэк1эрэк1агъэу лъэпкъым идунэееплъык1э егъэнэфы , игулъытэ егъэбагъо, ащ к1уач1эрэ л1ыгъэ-блэнагъэрэ хилъхьэзэ лъэпкъым фэ1орыш1э.
Синыдэлъфыбзэу сиадыгабз…. Имэкъамэхэр орэдышъоу къысэ1у, псыхъом ижъынч макъэ щызэхэсэхы, шым илъэмакъэ ар къыпэджэжьы, жьыбгъэм ишъуи макъэ къыдежъыу. Сиадыгабзэ дунаим идэхагъэ зэхысегъаш1э. Сэ сырэгушхо синыдэлъфыбзэк1э сыгу ихъык1ырэр къызэрэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э,адыгэ жабзэ зы1улъ ц1ыфмэ сызэращыщыр.
Бэ адыгэ лъэпкъым дунаим илъэгъо гъогу къырэк1офэ къинэу ыпэ къик1ыгъэр. Адыгэм игъаш1э анахь тхьамык1агъоу къыхэхъухьагъэмэ ащыщ Урыс- Кавказ заор. Заом къелыжьыгъэхэр яч1ыгурэ ятахътэрэ фимытыжьыхэу, яхэкужъ абгынэжьи , Истамбул гъогужъым тыритэкъуагъэх. Хырэ ч1ырэ зэпичи а гъогужъым адыгэхэр дунаим тырипхъагъэх. Бэ адыгэ ц1ыфым а лъэхъан хьылъэхэм ч1энагъэу аш1ыгъэр, ау сыд фэдиз къин алъэгъугъэми тилъэпкъ ыбзэ ыгъэк1одыгъэп. Зыбзэ ч1эзымынагъэм ынапи къабзэ, иц1ыфыгъи лъагэ. Сэ насыпыгъэшхоу сэлъытэ сянэжъ сятэжъхэм «ч1ыгужъыр» амыбгынэу тиадыгэ шъолъыр дахэ къызэринагъэхэр. Сафэраз сыфитэу тыбзэк1э дунаим идэхагъэ къис1отык1ын зэрэслъэк1ырэм. Сафэраз тидунай идэхагъэ 1оры1уатэк1э зэхэсмыхыжьэу , нэрылъэгъоу зэхэсш1эн амал къызэрэсатыгъэм. Сыгу ихъык1ырэр синыдэлъфыбзэк1э къэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э сафэраз.
Сиадыгабзэ – лъэпкъ ш1эныгъэм игъэт1ылъып1, лъэпкъ дунэегуры1уак1эр зэхещэ, ш1ум, дэхагъэм тыфещэ. Синыдэлъфыбзэ лъэпкъым къыщыш1рэ пстэури зэгъэфагъэу къырехьак1ы, гу зэ1ухыгъэк1э ц1ыфыр дунаим хегъаплъэ. Лъэпкъ итэкъухьагъэмк1э адыгабзэр лъэпкъым зык1ыныгъэ къезытырэ лъапс, зэрэадыгэр къызэраушыхьатрэ амал.
Нэмык1ыбзэ умыш1эным емык1у хэлъэп. Емык1ушхуи умыш1эныр ныдэлъфыбзэр. Убзэ уукъо хъущтэп, уадыгэ ц1ыфмэ уиадыгабзэ ш1у плъэгъоу, уфэсакъэу ущытын фае. Синыдэлъфыбзэ орэд къырып1ощтмэ , гъэтхэ ощх бзыбз, адыгэ усэ уедэ1у зыхъук1э узишъэ ч1эонэ, узхещэ, дунаим ш1оу тетыр зэк1э угу къегъэк1ы. Ц1ыфым иныдэлъфыбзэ 1улъ зыхъук1э, ежь ц1ыфыр къегъэдахэ, ц1ыфым идунэееплъык1э зыфэдэри къыбгурегъа1о. Синыдэлъфыбзэ акъыли, л1ыгъи, дэхагъи, ш1улъэгъуи, пэгагъи хэбгъотэщтых. Ау тыгъэ пэтзэ ащи бжъыгъэхэр телъхэ мэхъух, арышъ тэ адыгэхэми , щык1агъэ тимы1эу щытэп. Тхэтых тэ «сыадыг» а1оу, ау яныдэлъфыбзэк1э гущы1ан амылъэк1эу. Ащ фэдэ ц1ыфым, анахь еджэгъэшхор арми, угу егъунэу ч1ып1э урегъэуцо.
Сыгу къео сэ, адыгэ ц1ыфэу зызылъытэхэрэмэ ащыщхэмэ «чылэм узыдэк1рэм сыдк1э адыгабзэр къыпшъхьапэщт» зэра1орэр. Ащ фэдэ ц1ыфхэр сэ нэпэнчъэхэу сэлъытэ.
Сэ синыдэлъфыбзэу сиадыгабзэ сырэгушхо! Сэ сыгу къытеофэ сыбзэ згъэлъэп1эщт! Шъоум фэд синыдэлъфыбзэр, сян адыгабзэр, сэ си Дунай сиадыгабзэр! Сэ сыбзэ – сибаиныгъ!
Гъыщ Хьамед я 6-рэ классым ис еджак1у
2012-рэ илъ.
ТЕМЭР: «ТХЫЛЪЭУ СЫЗЭДЖАГЪЭМ СИШIОШЪ КЪЕСЭIУАЛIЭ».
Сэ бэ мыш1эу «Адыгэ пшысэхэр» зыфи1орэ тхылъым седжагъ. Ар лъэшэу сыгу рихьыгъ. Пшысэхэр – адыгэ 1оры1уатэмэ ащыщых. Ижъык1э къежьагъэу щытых. Ахэр жэ дэхьэ-дэк1хэу, зым зым фи1отэжьхэзэ джырэ лъэхъан къынэсыгъэх. Сиц1ык1угъом щегъэжьагъэу пшысэмэ сафэщагъ. Джыри еджак1э сыфмыш1эзэ мыхэмэ бэрэ сянэжъ къысфяджэщтыгъэ. Ау джы сэр-сэрэу зэк1эми сяджагъ. Анахьэу пшысэхэр сыгу зэк1ырихьыхэрэр к1эух дэгъу зэря1эр ары. Мыхэмэ сыдигъуи ш1ур ем тек1о.
Анахь сш1огъэш1эгъонэу пчъагъэрэ к1эсыджык1ыжьыгъэр «Гъулацый» зыфи1орэ пшысэр ары. Мыщ ч1ып1эшхо щызыубытырэр герой шъхьа1эу хэтыр ары. Ар Гъулацый. Гъулацый ц1ык1у, зэк1эми анахьык1, зэк1эмэ атек1онэу къарыу и1эп, ау акъыл чан и1, ы1орэр илэгъумэ арегъаш1э, ыш1эрэм тырегъахьэх, тхьагъэпц1ы, сыд фэдэрэ къин ыпэк1э къик1ыгъэми ш1эхэу хэк1ып1э къыфегъоты, къарыук1э зыфыримыкъурэм тхьагъэпц1ыгъэк1э дэзек1о. мыр зыфэдэр зэк1э и1к1э-ш1ык1эхэм ахэтэлъагъо: ар к1элэц1ык1ухэм ягъусэу мэзым зыхэгъощыхьэм, чэщыр щырахынэу гъолъып1э къафигъотын ылъэк1ыгъ, ащ нэгъуч1ыцэ ныом иунэ к1элэц1ык1ухэр тххьагъэпц1ыгъэк1э къырищыжьынхэ ылъэк1ыгъ, ежьыри тхьагъэпц1ыгъэк1э къы1эк1эк1ыжьи мылъкоу и1эри къыз1эк1игъэхьан ылъэк1ыгъ, нэгъуч1ыцэми ифэшъуашэ ригъэгъотыгъ. Адрэ пшысэмэ афэдэу мыщи ш1ур ем щытек1о. Сэ пшысэхэр лъэшэу сыгу рехьых, сяджэ зэпытыгъэк1и сязэщыщтэп.
Си шы къарапцIэу пцIащхъуэу щIэлъэтым
Ди губгъуэ куэщIыр уи зэ ичыгъуэщ.
Уэ уи лъэ макъыу тхыдэм къыщыджэр
ЛIыгъэ макъамэм и джэрпэджэжи!
Сонэ Абдулчэрим
Адыгэм и блэкIари и нобэри зыгъэдахэ, зыгъэтынш гъусэ пэжхэм ящыщщ адыгэшыр. МыхьэнэкIэ шыр къуэшым пэзыщI анэдэлъхубзэми къегъэлъагъуэ ар. «АдыгэлIрэ лIы бэшэчрэ», «ШыфIыр лIыгъэм и ныкъуэщ», — тхыдэм и кIыхьагъкIэ зи бзэр мыпсалъэ псэущхьэ Iущым щытхъуу зэхуихьэсахэм я кIэм унэплъыскъым. Лъэпкъ куэди щыIэ къыщIэкIынкъым и IуэрыIуатэр шым теухуа хъыбаркIэ, шууейхэм зэрахьа лIыгъэкIэ мыкъулейуэ. Гум зэпхедз КъурIэн лъапIэм «хъуаскIэ къыщIезыгъэх шы лъэгухэм» я цIэкIэ иIэт тхьэрыIуэр. «Iуэху щхьэпэм хэт шым пщIэ хуэзымыщIым фэрыщIагъым и зы Iыхьэ бгъэдэлъщ», — жиIауэ къаIуэтэж езы Бегъымбар лъапIэми. Апхуэдэ лъагагърэ лъапIагърэ зиIэ псэущхьэм ди лъэпкъыцIэ зэрихьэныр, адыгэш жыхуаIэжыр тхыдэм и кIыхьагъкIи и бгъуагъкIи «къэбэрдей» фIэщыгъэмкIэ къыхэлыдыкIыу хэтыныр, дауи, ди фIыгъэ хэмылъми, дызыгъэгушхуэ фIыгъуэщ.
Газет тхыгъэм и къалэныр Iуэхур Iуэху щIынращи, дыщогугъ дызыщыгъуазэр зэрымащIэм нэхъыбэ зыщIэм и гумызагъагъыр къигъэхъейуэ, шы гъэхъуным и лъэныкъуэкIэ фIы нэхъыбэ къытпыкъуэкIыну.
ФIыщIэшхуэ яхудощI мы тхыгъэм зи IэдакъэщIэкIхэр къыщыдгъэсэбэпа щIэныгъэлIхэм:
Ашэбокъуэ Леонид, КъБР-м щIыхь зиIэ и щIэныгъэрылажьэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и профессор («Адыгэ уанэшхэмрэ иджырей шы гъэхъукIэмрэ»).
Къагъырмэс Црай, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, Адыгэш лъэпкъыр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI (тхыгъэ къыхэхахэр).
Къэбэрдеишым и къежьапIэр
Лъэпкъ къэс езыри иригушхуэу иIэщ а зым фIэкIа дамылъагъу гуэр. Апхуэдэщ адыгэхэм ди дежкIэ шыр. Иужьрей зэманым къэбэрдеишым хуащI гулъытэр кIуэ пэтми нэхъ ин мэхъу, ди къэралми къыщымынэу — Европэм. Уеблэмэ мыбыи шым сыт хуиIуэху зыхужыпIэн куэд, IэщIагъэкIи щIэныгъэкIи шым емыпхауэ, абы и тхыдэми и щытыкIэми щыщIэупщIэр мащIэкъым.
«Къэбэрдейр» (шым и цIэр) XVI лIэщIыгъуэм къыщожьэ, ауэ и дахэгъуэм ди лъэпкъышыр щынэсар XVII лIэщIыгъуэращ. Тхыдэ кIыхь къызэринэкIам и кIуэцIкIэ къэбэрдеишым зыIэтыгъуи къепсыхыжыгъуи иIащ, цIыхум къылъыс лъэпощхьэпохэр дигуэшу.
Адыгэхэм я тхыдэ жыжьэр домбеякъым и лъэхъэнэ кIасэмрэ гъущIым и лъэхъэнэ пасэмрэ нос. А зэманым къыщIэна Iэмэпсымэхэр щыхьэт тохъуэ лъэпкъыр нэхъыбэу Iэщ зехуэнымрэ мэкъумэшымрэ зэрыхэпсэукIар, шы ягъэхъуу зэрыщытам и лъэужьхэри наIуэщ. Къармэхьэблэрэ Зеикъуэрэ деж шы кхъэлъахэхэр къыщагъуэтыжащ, ирахьэлIэ Iэпслъэпсхэр ящIыгъуу. Крупнов Евгенийрэ Алексеевэ Еленэрэ къызэралъытэмкIэ, домбеякъым и лъэхъэнэм, «ди эрэр ипэкIэ VIII — VII лIэщIыгъуэхэм хуозэ къыщыхъуа щIыпIэм куууэ епха къэбэрдеиш цIэрыIуэм» и тхыдэр.
Къэбэрдеишыр адыгэ?
Кавказ зауэм хэта урыс генерал Броневский Семён зэритхымкIэ, «Адыгэш лъэпкъыр хьэрып хакIуэхэмрэ адыгэ шыбзхэмрэ я щIэблэщ». Виноградовэ Валентинэ, илъэс куэдкIэ шы спортым хэта белорус шууей бзылъхугъэм, жеIэ: «Дуней псом шы лъэпкъыфIу тетым я зыужьыныгъэм хьэрыпышхэм я фIыгъэу хэлъыр нэгъуэщI зы шы лъэпкъми пхухуэгъэдэнукъым. Ар ди эрэм и VII, VIII лIэщIыгъуэхэм хуозэ. Ислъамыр Африкэм, Испанием лъагъэIэсын мурадкIэ зекIуэ кIуэ хьэрып шууейхэр зытесхэр куэдкIэ нэхъыфIт, ахэр зэрыхьа щIыпIэхэм щызэрахуэхэм нэхърэ. Абы къыхэкIыу хьэрыпышхэр а щIыпIэхэм щыщ шы лъэпкъхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ къагъэсэбэпу щIадзащ, а Iуэхур нобэр къыздэсым зэпыуакъым».
Хьэрыпыш къабзэр шы лъэпкъ псори ефIэкIуэным папщIэ къагъэсэбэпу зэрыщытам 1913 гъэм Шым теухуа Урысейпсо съездым Войцехович Александр дахэу щытепсэлъыхьащ: «Шы лъэпкъ къабзэхэр пхъэIэщэ зэмыIуса щIыгулъщ. Абы къэгъазэ имыIэу щыбэтэну жылэр — зы лъы закъуэщ, зэи зыхалъхьар зэхимыгъэзэрыхьауэ. Сыт хуэдэ зэмани а лъэныкъуэмкIэ къагъэсэбэпу щытар хьэрып шы лъэпкъращ».
Буденный Семён маршалым и унафэкIэ къэбэрдеишым теухуауэ ятха лэжьыгъэм къыхощ абы и къэхъукIэм тыркумэн, карабах, хьэрып, нэгъуей шы лъэпкъхэр хэтауэ.
Костонянц Рубен «Къэбэрдей шы лъэпкъыр къалмыкъ, нэгъуей шыбзхэмрэ къуэкIыпIэмкIэ къикIа хакIуэхэмрэ къатехъукIауэ» ебж. Поджидаев Владимир и еплъыкIэри абы пэгъунэгъущ: «Къэбэрдеишыр хамэ щIыпIэ къикIащ». Ауэ ЗэфIэс Айдемыр зэритхымкIэ: «Къэбэрдеишыр гуартэм нэхъ лъэрызехьэхэр къыхахыурэ зэрефIэкIуам къыхэщхьэхукIа шы лъэпкъщ». Постников Геннадийрэ Бенуа Александррэ дыщIагъуж: «Къэбэрдеишыр къуэкIыпIэмкIэ къикIа лъэпкъышхэр къахыхьэурэ Къэбэрдейм и дахэгъуэм, XVI лIэщIыгъуэм и кIэм — XVII и пэщIэдзэм, къыхэхъукIащ». АбыкIэ арэзыкъым Къумыкъу Тыгъуэнрэ Хъубий Баширрэ: адыгэшым къуэкIыпIэ лъэпкъышхэр къыхэIэбауэ убжыныр щыуагъэщ, XVI лIэщIыгъуэм абы и пщIэр жыжьэ IуакIэт.
Иужьрей гупсысэм и щыхьэту мамлюк сулътIан Инал теухуа тхыдэ лэжьыгъэхэм ущрохьэлIэ: «Ар ерыщт Кавказым ис и лъэпкъэгъухэр зэришэлIэнымкIэ, къишахэм я бжыгъэр шууей мин 40-м нэсат».
Къэбэрдеишым и къежьапIэр куэдым тенджыз ФIыцIэ Iуфэм ирапх. Беляев профессорым зэрыжиIэмкIэ, нэхъ пасэу къыхэхъукIа къэбэрдеиш лъэпкъхэр «щолэхъумрэ» «трамэмрэщ». «Щолэхъум» теухуауэ абы шыпсэхуэкIуэ хъыбар гъэщIэгъуэн къеIуатэ: къэбэрдей гуэрым тенджыз ФIыцIэ Iуфэм шы щигъэхъуу щытти, абы хакIуэ мыгъасэ гуэр къахэзэрыхьащ, зэман дэкIыу дунейм къытехьа шыщIэращ «щолэхъу» шы лъэпкъым къежьапIэ хуэхъуар. Беляевым зэрыжиIэмкIэ, «щолэхъур» теплъэкIэ хьэрыпышым ещхьщ: абы и щхьэр гъурщ, и тхьэкIумэхэр цIыкIущ, и нэхэм «хъуаскIэ» къыщIех, нэбжьыцхэр кIырщ, цыр пIащIэщ, щабэщ, шыбгъэр бгъуэщ. Шы Iэпкълъэпкъыр и кIыхьагъкIэ захуэщ, и лъэгур быдэщ. Беляевым жиIэм тохьэ шыхъуэ цIэрыIуэ Балакшин Ольгэ и еплъыкIэри. Хъыбарыжьхэр и тегъэщIапIэу, щIэныгъэлIым «къэбэрдеишыр IуэрыIуатэм къыхэщ Андемыркъан Къэбэрдейм къиша хьэрып хакIуэм къытехъукIауэ» жеIэ. Балакшиным къызэрилъытэмкIэ, къэбэрдеишым XVI лIэщIыгъуэр и татуугъуэу щытами, абы и щытыкIэр пасэу къызэфIэуващ: хэти щыгъуазэщ къэбэрдейхэм хьэж ящIауэ Мэчэм къыщикIыжкIэ Кавказым Хьэрып щIыналъэмрэ Сириемрэ кърашурэ шы къыздашэу зэрыщытар. Апхуэдэ щIыкIэу къэбэрдеишым къуэкIыпIэш теплъэ игъуэтащ.
Балабановри арэзыщ къэбэрдеишыр апхуэдэ щIыкIэкIэ къызэрыхэхъукIамкIэ, ауэ абы «къэбэрдейм» монгол шы лъэпкъхэм яжь къыщIихуауэ къелъытэ. Мишинымрэ Драгалевымрэ къызэралъытэмкIэ, пэжщ, Азие ЦIыкIум щыщ шыхэм ящыщи хэтащ къэбэрдеиш лъэпкъым и къыхэхъукIыкIэм, «хьэрыпхэмрэ» «къэжэрхэмрэ» зэрыхэтам хуэдэу, ауэ ар езыр-езыру къэхъуа Iуэхуу пхужыIэнукъым — хэдэрыхэх узыншэм къихьа зыужьыныгъэщ. Адыгэшым нэгъуей шы лъэпкъым илъ хэту къэзылъытэхэм ящыщщ Федотов Пётр, Красников Александр сымэ. Ауэ тхыдэдж Мердер Иван жеIэ: «Адыгэш нэсыр хьэрыпышымрэ бгырысхэм зэрахуэхэмрэ зэхыхьэкIэрэ къэхъуащ: ар къарууфIэщ, жыджэрщ, мафIэ кIуэцIылъщ, хахуэщ, набдзэгубдзаплъэщ, къуакIэбгыкIэхэм нэхъ къыщысэбэпращи — я лъакъуэхэр быдэщ. КъищынэмыщIауэ, ар икIи тхьэкIумафIэщ: жэщым я нэхъ кIыфIым уи псэм утемышыныхьу ушэс хъунущ зыщIыпIэ деж ехуэхынщ е лъагъуэ зэвым ирикIуэфынкъым жумыIэу. Шууей гъуэщам и псэр абы IэщIилъхьэфынущ: шым езым ицIыху гъуэгур къигъуэтыжынурэ уздынэсыпхъэм унигъэсынущ. Ар икIи егъэлеяуэ сакъщ, и тхьэкIумэхэр тегъэхуа зэпытщ, макъ псоми едаIуэу, езыр гъуэгу пэжым тет-темыткIэ зыкIэлъыплъыжу. Абыхэм апхуэдизкIэ гурыгъуазэ пэж яIэщи, хэбгъэзыхьрэ здэмыкIуапхъэм бгъакIуэмэ, узэрыщыуар къыбгурыIуэжынущ: е бий, е хьэкIэкхъуэкIэ зызыудыгъуа урихьэлIэнущ. Абы иджыри Iуэхуншэу шэщым щIэтыну фIэфIкъым, щIэубыдауэ куэдыIуэрэ яIыгъмэ, зейр хигъэзыхьынурэ зыкъыщIригъэшынущ».
Лъэпкъхэмрэ шы лъэпкъхэмрэ
Кавказ тхыдэдж Калоев Борис зэрыжиIэмкIэ, «Къэбэрдейм шы зэрыщагъэхъуа тхыдэм къыщIэнауэ шы лъэпкъ зыбжанэм я фIэщыгъэхэр зокIуэ, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къыхэжэпхъыкIауэ. Псом нэхърэ нэхъыжьу къалъытэр «щолэхъуращ»: XVI лIэщIыгъуэм нэс къикIа дэфтэрхэм къаIуатэ ар Щолэхъухэ ящыщ джылахъстэнеипщым и цIэм епхауэ. ИужькIэ XIX лIэщIыгъуэм Клапрот етх: «НэхъыфI дыдэу Къэбэрдейм къыщалъытэр «щолэхъу» шы лъэпкъращ. Абыхэм я бжыгъэр щитIым щIигъу хабзэкъым, гуартэм щыхэткIэ. ФэкIэ ахэр е пщIэгъуалэщ е пцIэгъуэплъщ. Апхуэдэш саугъэту ятамэ, и уасэр пщылI уасэм пагъэув».
Нэмыцэ щIэныгъэлI Паллас Пётр етх: «Гу лъытэгъуафIэщ мы щауэхэм я зэманым и нэхъыбэр я шы телъыджэхэм зэрытрагъэкIуадэм. А Iуэхум ахэр хьэрыпхэм нэхърэ мынэхъ Iейуэ пэрытщ. ИтIани адыгэхэм ауэ шы дахэ къудейкъым ягъэхъур, атIэ псэущхьэ бэшэч, къарууфIэ, мэжэлIэнымрэ гугъуехьымрэ яхуэхьу, псынщIагъкIэ яхуэдэ щымыIэу. Зауэ-банэм щыхэтым и деж адыгэхэр псом нэхърэ нэхъ зыщыгугъыр шым и хьэлращ. Дэтхэнэ зы лъэпкъ и щхьэ пщIэ хуэзыщIыжми езым и шы лIэужьыгъуэ иIэжщ, абы тегъэуа дамыгъэмкIэ къэгъэлъэгъуауэ. Нэхъ пщIэшхуэ зиIэр «щолэхъухэращ», ар Талъостэнхэ я нэIэ тету зэрахуэ. И дахагъкIи, къарукIи, псынщIагъкIи бэлыхьщ, адрейхэм къазэрыхэщыр и лъэгур хъурейуэ, дэбзыкIа имыIэу зэрыщытращ». Ауэ Тыркум щыщ шыхъуэ Къущхьэ Фикри зэрыжиIэмкIэ, «щолэхъур» зэрыфIыр и псынщIагъракъым — шы бланэу, тегушхуэ хэлъу зэрыщытращ: «щхьитI-щыкIэ езым нэхърэ нэхъ лъагэ къуршым зреупсей щхьэпрыкIыну, гу кIуэцIылъщ».
Щолэхъу и хъыбар
Щолэхъу шы лъэпкъым зи цIэ зэрихьэ Щолэхъу, зэрыжаIэмкIэ, и шы гуартэм и бжыгъэр зэи щэм щIригъэгъуу щытакъым. И ныбжь хэкIуатэу Iуэхур и къуэхэм къащыхуигъанэм, щIалэхэм шы бжыгъэр миным нагъэсащ, абыкIэ адэм зыхуамыгъэщIагъуэуи къэнакъым. АфIэкIа хэмылъу, адэм бжыхь задэ лъагэкIэ къэхухьауэ Iуэ ирегъэщIри, шыхэр абы ираубыдэну унафэ ещI. ЖаIар щагъэзащIэм, фочрэ кIий макъкIэ шыхэр ягъэщтэну яжреIэ. Абдежым шы гужьеяхэм зэрызехьэн щIадзащ, ауэ бжыхь задэм къыщхьэдэлъыхыфар миным щыщу щэ ныкъуэ къудейрщ. Щолэхъуи жыIэпIэ ихуащ: «А къелъахэращ си шы лъэпкъыр, адрей къэнахэр шыуи сыбжыркъым, ахэр жэмщ».
Шы лъэпкъыцIэу тхыдэм зыбжанэ къыхэнащ. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр унагъуэ щхьэхуэм зэрейм, дамыгъэ хэха зэриIэ къудейм къыхэкIауэ къалъытэ. Мыдрейхэм — дэтхэнэ зы шы лIэужьыгъуэми щытыкIэ щхьэхуэ иIауэ ябж. ЕтIуанэ еплъыкIэм щыхьэт тохъуэ абыкъушым теухуа псалъэжьыр: «Зы абыкъушрэ зы аркъэнрэ уиIэмэ уунагъуэщ».
Шы лъэпкъыцIэу узрихьэлIэхэм ящыщщ: абыкъу, ачэтыр, бэчкъан, егъэн, есэней, жэращты, кърымщокъал, къундет, лоу, трамэ, хьэгъундокъуэ, шагъдий, шэджэрокъуэ, щолэхъу, чыпылу.
Шы гъэсэкIэм и щэхухэр
Къэбэрдейхэм шым щIопщкIэ уеуэу ядэртэкъым: узым шыр бауэкIэщI ещIри, ирегъэш. Шыгъажэхэм щыхэткIэ фийкIэ, макъкIэ е IэгукIэ утеуIуэурэ тебгъэгушхуэ хъунут, ауэ удыныр шым и гъэсэныгъэм къыщагъэсэбэпыртэкъым, абы шым игурэ и щхьэрэ зэтрихуу къалъытэрти.
Спенсер Эдмонд, инджылыз дунеяплъэм, 1839 гъэм къэбэрдейхэм ятеухуауэ етх: «Дуней псом зы къэрал тет къыщIэкIынкъым мыбыхэм хуэдэу шыр зыхуей хуэзыгъэзэф, зы лъэпкъми шы зехуэкIэм хищIыкIыркъым, мыбыхэм хуэдэу. Щэхушхуэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, шым зэи зэремыуэращ, абы къыхэкIыу ар зейм хуэпэжу къонэ… Адыгэшым уигу къыхуэкI псори зыхищIэу ибогъэсэф. Сыт хуэдизкIэ мы лъэпкъым гъуазджэрэ цивилизацэкIэ дыщхьэпрымыкIами, шыр зэрагъасэмкIэ, абы кIэлъызэрахьэ цIыхугъэмкIэ икъукIэ дакъыкIэроху, ди шыхъуэхэм адыгэхэм я деж куэдым зыщрагъэсэфынут. Сытуи мащIэ дэ тщIэр мы псэущхьэ телъыджэм зэрызебгъэужьыфынумрэ ар зэбгъэсэфынумрэ теухуауэ. Шыхэм нэхърэ нэхъ къабзэрэ фIыр нэхъ зэхэзыщIыкIрэ, игу зэ зыкIэрыпщIам нэхъ хуэпэжрэ бгъуэтынкъым. Уеблэмэ зэрыцIыкIурэ фермэхэм къыщыхъуахэр ныбжьэгъуфIым хуэдэу апхуэдизкIэ гумащIэ мэхъури, хэгъэзыхьышхуэ хэмыту пхуогъэIэсэ».
ГъэкъэбзэкIэр
Iуэху къызэрыгуэкIыу фэ зытет шы гъэкъэбзэкIэми Iэмал хэха иIэщ. Тхыдэдж Къумыкъу Тыгъуэн зэритхыжамкIэ, адыгэхэм шыр зэрагъэкъабзэу щытар мыпхуэдэут: «ЯпэщIыкIэ мэкъу IэмыщIэ къащтэри, абыкIэ шыр ялъэщI. ИужькIэ сабыныпс хуабэкIэ IэгукIэ ятхьэщI, и фэм фIей зыри къыкIэрымынэжыху».
Шы лъэгур
Къэбэрдеишыр къызэфIэгъэувэн Iуэхум мыхьэнэшхуэ щиIыгът абы и лъэгум елэжьыным. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, адыгэшым и лъэгудыгъуэр апхуэдизкIэ быдэщи, хэхауэ щIыпIэ мывалъэ гуэр мыкIуэмэ, нал щIумылъхьэми мэхъу. Ар зи фIыгъэу ябжыр щIымрэ щIыуэпсымрэ я щытыкIэм и закъуэкъым. Зэман кIыхьым и кIуэцIкIэ езы шыщIэхэр хэплъыхьышхуэ ящIу къызэрыхахыу щытаращ. ШыщIэ лъэгур скъар фIыцIэм хуэдэу цIууэ и щIыбагъымкIэ зэгуэмыкIыу, зэгуэту щытын хуейщ. ШыщIэ къыхащыпыкIахэм я лъэгухэр хуэсакъыпэурэ ягъэкъабзэрт, зыхуей щытыкIэм ирагъэувэным елIалIэурэ. А мурадым лъэIэсын папщIэ шыхэр зэпымыууэ къуршыпс уэрым хахуэурэ и дэгъэзеигъуэмкIэ ягъакIуэрт. Апхуэдэм деж шым, хуей-хуэмейми, псым хэлъ мывэкIэщхъым и лъэгур тригъэзэгъэн хуей мэхъу, ауэрэ шыхъуэр зыщIэхъуэпсым хуэдэу быдэ мэхъу. КъищынэмыщIауэ, шыхэм зэпымыууэ мывэкъуэхэм къыщрагъэкIухь. Аращ Хъан-Джэрий щIитхыр: «Ипэ илъэсхэм шыхэм я лъэгум теплъэ нэс къищтэн папщIэ, псыхъуэхэм нэхъ щагъэхъуакIуэ».
Шым и теплъэр
Къэбэрдеиш лъэпкъыр къыхэщхьэхукIыху, шыхъуэхэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ шыхэм къахэхыпхъэр гъэтэмэмыным. Ди адэжьхэм гулъытэ ин хуащIырт шыбгым и теплъэмрэ и кIыхьагъымрэ, шыбгъэм, лъакъуэхэм. НэхъыфIу къалъытэр зи бгыр захуэу, мыкIыхьыщэу шэщIа шыбграт. Лъакъуэхэм дагъуэ лъэпкъ яIэ хъунутэкъым — я кIыхьагъми, зэрытригъэувэ щIыкIэми, и зэрытыпIэхэми. Шыбгъэр бгъуэуэ икIи куууэ щытын хуейт, ар шым и гумрэ и тхьэмбылымрэ зэрыузыншэм и нэщэнэт. Апхуэдэ къыхэхыкIэм адыгэшым зыми емыщхь Iэпкълъэпкъ зэхэлъыкIэ къритащ, и щхьэми, фIыуэ зызыужьа и жьэпкъми, дзажэналъэхэми, лъакъуэхэми, фэми ар къагъэлъагъуэу. А псом къэбэрдеишым дахагъ къызэрымыкIуэ, лантIагъ, къэкIухьыкIэ щабэ къытригъауэрт. А щытыкIэхэращ абы дунейпсо цIэрыIуагъ къезытари. Къэбэрдеишыр КъуэкIыпIэми КъухьэпIэми къикIыурэ ящэхуу къекIуэкIащ лIэщIыгъуэкIэрэ.
Шым и теплъэм и гугъу пщIымэ, къэбэрдейхэм мыхьэнэшхуэ иратырт абы фэ узыншэ иIэным. Фэ узыншэ зиIэхэм хабжэрт къарапцIэхэмрэ шыгъуэхэмрэ икIи яфIэфIтэкъым гъуабжэхэмрэ къуэлэнхэмрэ. Лъакъуэм и лъагагъым фIэмыкI IэпапIэ сырыхухэр ядэнкIи хъунт, ауэ Iэпкълъэпкъым IэпапIэ хужь хэтыныр шым и узыншагъэм и щыщIэныгъэу къалъытэрт.
Кавказ зауэмрэ адыгэшымрэ
Къэбэрдеишым и зыужьыныгъэм зэранышхуэ хуэхъуахэм ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэр. Абрамов Яков 1884 гъэм къыдигъэкIа «Кавказ бгырысхэр» тхылъым щетх: «Гъэмахуищми, Къэбэрдеишхуэм и курыкупсэм ит урыс слобода цIыкIу Налшык сыдэсыху, урысхэм къэбэрдей щэнхабзэм и Iэужьхэмрэ илъэс куэд зытекIуэда я лэжьыгъэмрэ укIытэ лъэпкъ яхэмылъу зэрызэтраIущIэм сеплъыну Iэмал сиIащ. «Ка- рательнэ экспедицэ» ира- гъэкIуэкIыху, бгырысхэм къуентхъ папщIэу къытраха Iэщ мин тIощIырыпщIхэр пащтыхьым и блыгущIэтхэм яIэрыхьэрт. Апхуэдэ защIэу Iуэхур екIуэкIащ XIX лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм пщIондэ. Архив дэфтэрхэми ар зэрыратхэ хабзэр: «…къэбэрдейхэм къытрахахэм щыщу».
Псом хуэмыдэу ар я хьэлт генералхэу Вельяминовым, Засс, Булгаковым, Дель- поццо: «Къэбэрдей шы гуартэ зэхэфыщIахэр зауэ къуентхъыу къаIэрыхьэурэ, ди къэзакъхэм къэбэрдеиш гуартэхэр зэхаублащ». АрщхьэкIэ къэхутакIуэ Дубенский Дмитрий зэрибжымкIэ, «къэзакъхэм езыхэм я шы гуартэхэр яIыгъыжт, адыгэхэм я шы зехуэкIэ Iэмалхэм емылIалIэу… абы къыхэкIыу шы лъэпкъхэр хагъэкIуэдэ- жащ».
1810 гъэм Савельев-генералым и унафэщIхэм рапорт яхуетх, адыгэхэр шыгъум пэIэщIэ зэращIам къыхэкIыу яш куэд зэрызэтелIар иту.
1816 гъэм щыщIэдзауэ 1910 гъэ пщIондэ, адыгэхэр Тыркум зэрыIыгъыу щыIэпхъуэжа зэманым, унагъуэ 690.659-рэ Хэкум икIащ, цIыху бжыгъэкIэ 3.102.749-рэ хъууэ. Абыхэм я нэхъыбэр къэбэрдейт. 1864 гъэм и закъуэ адыгэш зезыхуэ нэрыбгэу 342.748-рэ икIащ. А зэманым унагъуэ къэс шы игъэхъурт, аращ къызыхэкIар XIX лIэщIыгъуэм и кIэм — XX и пэщIэдзэм Кавказ Ищхъэрэм шы бжыгъэу итам зэуэ зэрыхэщIар. Псалъэм папщIэ, 1889 гъэм абыхэм я бжыгъэр зэрыхъужыр 4.821-рэ къудейт. А зэманым Кавказ псом щыцIэрыIуэу щытащ Лохэ, Куэцэхэ, Трамэхэ, Лафыщхэ, Тамбийхэ, нэгъуэщI куэдми яшхэр. Тыркуми, здэIэпхъуа нэгъуэщI къэралхэми адыгэхэм я псэр зыхэлъ шыр щагъэхъун къагъэнакъым. Хаккер Дж. етх: «Адыгэхэм шы телъыджэхэр зэрахуэрт, Хэкум щиса зэманым ещхьу ягъэхъурэ псори зрагъэхъуапсэу».
«Узуняйла» шы лъэпкъыр
Тыркум Iэпхъуа адыгэхэм языныкъуэхэр тенджызымкIэ, адрейхэр щIылъэмкIэ кIуахэщ. Иужьрейхэм Хэкум здраша шыхэращ къызытехъукIыжар къыщыхъуа щIыналъэм — Узун-Яйла — и цIэр зыкIэрыпщIа шы лъэпкъыр. Ишджан Каан мы шы лъэпкъым триухуа и тхыгъэм къыхегъэщ «узуняйла»-р адыгэш лъэпкъитхум къазэрытехъукIар: щолэхъу, егъэн, ло, (мэрджан), трамэ. «1937 гъэм, гъатхэпэм и 10-м, Пынарбаши щIыпIэм «Узуняйла шы лъэпкъыр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэ» щызэхаублауэ щытащ. 1980 гъэм фокIадэм и 10-м нэс лэжьа а зэгухьэныгъэм Iуэхушхуэ зэфIигъэкIырт: абы и жэрдэмкIэ шы гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ щапIэхэмрэ къызэIуахыу щытащ».
Нобэрей IуэхукIэ
XIX лIэщIыгъуэм, урыс пащтыхьыгъуэм и зэрыпхъуакIуэ жэрдэмхэм я IэужькIэ, къэбэрдей шы гъэхъукIэр хуэмурэ ужьыхын щIидзащ. ХъупIэхэм зэрыхэщIам, гъаблэм къыхэкIыу, мэл зэрахуэмэ нэхъ яфIэкъабылу зэрыхъуам нэмыщI, зауэ, колхоз зэхэтыкIэ хуэдэхэу псэукIэщIэ зэIумыбзхэмрэ жылагъуэр зыхэхуа лъэпощхьэпохэмрэ шым къылъыс гулъытэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ ящIурэ шым и фIагъым фIыуэ кIэригъэхуащ. ЖыпIэнкIэ, «къэбэрдеишыр» лъэпкъ хэплъыхьахэм ящыщщ, шыхъуэхэми ялъэкI къагъанэркъым ар ирагъэфIэкIуэнымкIэ. Ауэ иджырей къэбэрдеишыр, дауи, XVI-XVIII лIэщIыгъуэхэм зэрыщытами, уеблэмэ XIX лIэщIыгъуэм зэрыщытами хуэдэжкъым.
Къэбэрдеишым и [цIэкIэ]
Дунейпсо Зэгухьэныгъэ (Iternational
Kabardian Horse Assosiation)
2009 гъэм щIышылэм и 17-м Чехием, Словакием, Франджым, Белоруссием, Косовэ, Израилым, Германием щыщ адыгэ гуп зэхуэсри, Германием щыIэ Мюнхен къалэм Къэбэрдеишым и (цIэкIэ) Дунейпсо Зэгухьэныгъэ (КъДЗ) къагъэунэхуащ. Зэгухьэныгъэм и зэIущIэу 2010 гъэм щIышылэм и 13-м Берлин щекIуэкIам къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, Тыркум щалъхуа, Германием и «Удзыфэхэм я партым» и унафэщI Оздемир (УанащIэ) Джем щыжиIэгъащ:
«Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
КъДЗ-р ирогушхуэ «Къэбэрдеишым и блэкIар, нобэр, къэкIуэнур» зыфIэтща Япэ дунейпсо симпозиумыр къызэрызэIуихымкIэ. Ди гуапэщ къедгъэблэгъэну ныбжьэгъухэри, хьэщIэхэри, Iуэхум дихьэх дэтхэнэ зыри. Иджыри дыпоплъэ Кавказми, Европэми, адрей къэралхэми щыщ щIэныгъэлIхэр, политикхэр, шыхъуэхэр къыддэлэжьэну.
Ди мурад нэхъыщхьэр къэбэрдеишым иджыпстурей и щытыкIэр утыку къитхьэу, абы и тхыдэми нэху тредгъэдзэнырщ. КъищынэмыщIауэ, ди плъапIэщ нобэ къэбэрдей шы лъэпкъыр хъума хъуным елэжь шыхъуэхэу Кавказым щыпсэухэм зэрызащIэдгъэкъуэн Iэмал къэдгъуэтыну. Ди Iуэхум къэбэрдеишым елэжь шыхъуэхэр, псапащIэхэр, ныбжьэгъухэр къызэщIиубыдэу зэрыщытым къыхэкIыу, дыхуейщ цIыхубэмрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ я гулъытэр ди лэжьыгъэм къетшэлIэну. Дыфщогугъ дытевгъэгушхуэну, фыкъытхыхьэну».
Адыгэшым теухуа псалъэмакъыр къыщIэддза къудейуэ зэрыдухыр нэрылъагъущ. Шы зехуэныр тхылъ Iуэхуу зэрыщымытра къыщIэкIынщ абы и щхьэусыгъуэр. ИтIани ди псалъэмакъым пызыщэну гукъыдэж зиIэхэм газетым и напэкIуэцIхэр яхузэIухащ. Мы псэущхьэ угъурлым и фIагъыр къызэрыIуэтэгъуейм и щыхьэту, зы хъыбар щIэщыгъуэкIэ иужьрей нагъыщэр догъэувыж.
ЩIопщым и ныбжьри хурокъу
Зэгуэрым Сиддхартхэ Гаутамэ — БуддэкIэ зэджэм — и деж цIыху гуэр къыщIыхьэри, пщIэ къызэрыхуищIыр къигъэлъагъуэу, гъэщхъауэ и лъакъуэм къеIусащ.
«Тхьэ щыIэ?» — щIэупщIащ хьэщIэр.
Буддэ абы худэплъейри, жриIащ:
— Си щIалэгъуэм шыхэр зыпэсщI щыIэтэкъым, ауэ зэхэздзынщ щыжысIэм и деж, ахэр лIэужьыгъуиплIым иту слъагъурт. Япэрейр — шы мыгъасэ, нэхъ ерыщхэращ. Сыт хуэдизрэ уемыуэми, къодэIуэнукъым. ЦIыхухэм я нэхъыбэр апхуэдэщ. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэр мэдаIуэ, ауэ — удыныр зыхищIа нэужь. Апхуэдэ цIыху куэди щыIэщ. Ещанэ гупым щыщхэм еуэн хуейкъым: абыхэм щIопщыр ибогъэлъагъури зэфIэкIащ. Ауэ еплIанэ лIэужьыгъуэр гъуэтыгъуей дыдэщ: абыхэм щIопщым и ныбжьри яхурокъу.
ХьэщIэр щыму заулкIэ щысри щIэкIыжащ, егъэджакIуэм фIыщIэшхуэ къызэрыхуищIыр и нэкIум иплъагъуэу. А псори Буддэ нэхъыфI дыдэу илъагъу и гъэсэн Анандэ и нэгу щIэкIащ, арщхьэкIэ зыри къыгурыIуакъым. «Сыт хьэдыгъуэдахэ: мор Тхьэ щыIэ жеIэри щIоупщIэ, мыдрейр шыхэм топсэлъыхь» — и гур къезауэрт щIалэм. ПсэлъапIэ ихуа нэужь, Анандэ щIэупщIащ:
— Сэ ар къызэрызгурыIуэн мы дунейм теткъым! Шыхэм ухутепсэлъыхьа нэужь, зиущэхури гъащIэ псо къыбдэпсэуам хуэдэу мамыру къыбдыщысащ. Сэ зыхэсщIакъым игъащIэм апхуэдэ гупсэхугъуэ! Сыт абы жепIар? Сыт абы апхуэдизу фIыщIэ къыщIыпхуищIар?
ЕгъэджакIуэм жиIащ:
— Сэ шыхэракъым сызытепсэлъыхьар. Зи гугъу сщIар ар зыщIэупщIаращ, ауэ ар щIэныгъэ ущэхуащ, псалъэмрэ акъылымрэ я гъунапкъэм фIэкIыу. И пщIэгъуалэм сеплъу а Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIыр къызгурыIуа нэужьщ шыхэм сытепсэлъыхьын щыщIэздзар. Арат абы и бзэри, жысIа мащIэмкIэ сызэхищIыкIащ. Ар закъуэтIакъуэхэм ящыщщ: щIопщым и ныбжьри хурокъу.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Стрикачэу Аид я 6-рэ А классым ис еджак1у
2014-рэ илъ.
Сочинение ц1ыфэу щысэ къысфэхъурэр.
Сабыир иц1ык1угъом щегъэжьагъэу нахьыжьмэ ак1ырэплъы, нахьыжъхэр ищысэтехып1эх. Ц1ыфэу щысэ сфэхъугъэмэ ащыщ адыгэ тхэк1ошхоу К1эрэщэ Тембот. Ащ ытхыгъэ произведениехэр адыгэ прозэм лъапсэ фэхъугъэх. Ащ ирассказхэм, иповестхэм, ироманхэм ц1ыф жъугъэхэр яджэх. Ахэмэ ащыщхэр бзэ зэфэшъхьафхэмк1э – урысыбзэк1э, чехыбзэк1э, тыркубзэк1э къыдэк1ыгъэх. Ижъык1э къыщегъэжьагъэу адыгэхэм къарык1уагъэр, шъхьафитныгъэ банэу лэжьак1охэм аш1ыщтыгъэр ипроизведениехэу «Шыу закъу», «Шапсыгъэ пшъашъ», «Абдзэхэ шэк1ожъыр», «Хьаджырэт» зыфи1охэрэм ык1и нэмык1хэм уз1эпащэу, гъэш1эгъонэу К1эрэщэ Тембот къащигъэлъэгъуагъ. Ащ ытхыгъэмэ литературэм иурокхэм нэ1уасэ тащыфэхъу, игеройхэр тищысэ техып1эх. Писателым ирассказхэм, иповестхэм сяджэнэу сик1ас.
Сэри ащ иповестэу «Шапсыгъэ пшъашъ» зыфи1орэм игерой шхьа1эу, хэтрэ пшъашъи зыфэдэнэу фаеу, Гулэз сищысэтехып1. Гулэз – 1уш, губзыгъ, гулъытэ чан и1. Ащ иш1уагъэрэ изэхэш1ык1ырэк1э чылэм дэс пшъашъэмэ къахэщыщтыгъэ. Ыц1э зэрэ1ущтыгъэр дэн-бзэн 1эпэ1эсагъэу хэлъыгъэхэр ары. Идэхагъэк1э пшъашъэмэ къызэрахэщыщтыгъэм фэдэу, шъуашэу ы1апэ къык1эк1ырэри ц1ыфмэ аш1эжьэу гъуащэщтыгъэп. Пшъашъэм ыц1э дэгъугъэк1э зы1угъэ уж, ащ ыдыгъэ щыгъыныр зыщыгъымк1э ц1ыфыгъэ нэшанэу алъытэу, щытхъу шъуашэу зыфалъэгъужьэу хъугъэ. Гулэз къызэрэхъухьэгъэ унагъор мэкъумэщыш1э унэгъуагъ, фэш1ыгъэк1э алъытэрэ унагъомэ ащыщыгъ. Анахьэу Гулэз къэзгъэдахэщтыгъэр иакъыл ичаныгъэрэ ишэныш1уагъэрэ иш1ык1э дахэ аголъыжьэу зэрэщытыгъэр ары. Ащ и1ушыгъэ зэк1эми къахэщыщтыгъэ: и1ок1э-ш1ык1эхэм, изек1уак1эхэм, джэгум Хьатх Мыхьамэт джэуапэу щыритыгъэм.
Мы повестым игерой шъхьа1эу Гулэз сыгу ч1ып1эшхо щеубыты, лъэшэу сыгу рехьы, ар сищысэтехып1, ащ фэдэ сыхъунэу сыфай. Мыщ иобраз, тэ ныбжьык1эхэм, 1эдэб тхэлъыным, ц1ыфыгъэм, шъхьэк1эфэныгъэм, 1ушыгъэм тафегъасэ.
Адыгэ хабзэр, адыгагъэр лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэзыубыдэ, зэщIэзыIыгъэ Iуэхугъуэшхуэ дыдэу щытащ.
Ди хабзэм и фащэ нэхъыфI, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ Iыгъыныр, гъэзэщIэныр. Абы къызэщIеубыдэ цIыхум и щIыхьыр зэримыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, щытыкIэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэлъэпIэныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр, н.къ.
Адыгэхэм я нэхъыжьым хуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ я лъабжьэр къыщежьэр я нэхъыжьхэм ябгъэдэлъ акъылырщ, Iущагъырщ, гупсысэрщ. Адыгэр япэкIэ кIуэ нэхъыжьым зэи кIэлъыджэркъым. Абы лъэщIохьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, фIэхъус ирахри, итIанэщ зыхуеймкIэ щеупщIыр. Псалъэмакъ екIуэкIыу щытмэ, нэхъыжь и псалъэ зэпаудыркъым.Уеблэмэ, зыгуэр жаIэну хуеймэ, абы хуит зыкърагъэщI.
Нэхъыжь къахыхьамэ, гупыр мэтэдж, дэнэ и дежи, сыт щыгъуи. Ауэ мыбы гу лъытапхъэщ. ГуфIэгъуэ, хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэм нэхъыжь къахыхьамэ, е нэхъыжьым щхьэкIэ Iэнэм пэрысхэр тэджауэ зы бжьэ ефэ нэужькIэ, а Iэнэм и тхьэмадэр къэтэджыртэкъым, е къэтэджын хуей хъуамэ, и пIэкIэ зыгуэр Iэнэм пэрысу къэнэну унафэ хуищIырт. Ерыскъы зытелъ Iэнэм нэхърэ нэхъыжь щыIэкъым, абы пэрымысIауэ къэбгъэнэныр хабзэм къезэгъыркъым.
Зыхуэтэджыр нэхъыжьым и закъуэтэкъым. Къотэджри, нэмыс хуащI хьэщIэми, бзылъхугъэми. Гъунэгъути, хамэти — зэхэгъэж щыIэкъым. Я унэ исми, губгъуэм итми зэхуэдэщ. Уеблэмэ, шым тесри тэджу щытащ: абы е уанэгум зриIэтыкIырт, е шым къепсыхыпэрт.
Унэми, Iэнэм пэрытIысхьэми нэхъыжьым езым и тIысыпIэ иIащ. Ар зыхуэзэр жьантIэрщ. Унэм и жьантIэр зэхьэлIар къызэрахутэр жьэгум елъытауэщ. Ар унэм ущыщIыхьэкIэ бжэм и сэмэгурабгъурт. Нэхъыжь щIэс, хьэмэрэ щIэмыс щыIэтэкъым, абы и пIэм зыри итIысхьэртэкъым, зригъэукIуриен дэнэ къэна. Я адэ щыту, е щысу абы и къуэ балигъ, бын унагъуэ хъужахэри тIысыртэкъым, тутын ефэу ирагъэлъагъуртэкъым, фадэ ефауэ, чэфу я адэ бгъэдыхьэн жыхуэпIэр — Iэмал закъуэ зимыIэт.
Нэхъыжьым щыхуэтэджыр ар щалъагъум и закъуэтэкъым. Абы и цIэр зыгуэрым ириIуауэ зэхахми, пщIэ ящIу заIэтырт.
НэхъыщIэхэр зыщIыпIэ кIуэнумэ, нэхъыжьым ирамыгъащIэу ежьэртэкъым. Абы къагъэзэжамэ, япэу зыщIэупщIэр нэхъыжьхэрт. ЦIыху гъэсауэ, адыгагъэ, цIыхугъэ яхэлъу ялъытэрт нэхъыжь лъэрымыхь хъуауэ хэлъхэм я деж щIыхьэурэ абы щIэупщIэхэр, еуэршэрылIэхэр, дуней хъыбар езыгъэдаIуэхэр, ечэнджэщхэр.
Унагъуэм, лъэпкъым и унафэр нэхъыжьхэм яIэщIэлът. Абы я арэзыныгъэ хэмылъу зыри къэхъуртэкъым. Адыгэ унагъуэр чэнджэщкIэ псэурт, зэгурыIуэмрэ зэдэIуэжымрэ абы и лъабжьэт. Дауи, мэлищэ щIакъуэншэ хъуркъым, щыIагъэнщ зыгуэрхэри. ГъащIэ щыхъукIэ апхуэдэхэри къыхэхуэу щытагъэнущ. Ауэ лъэпкъыр лъэпкъ зэгъэпэщамэ, сыт хуэдэ Iуэхури зэтрауIэфIэжырт, Iуэхур пэжыгъэм, хабзэм тету зэIубз ящIырт. ЦIыху зэгурыIуэкIэм, лъэпкъ зэхэтыкIэм, хабзэм хуэунэтIащ адыгэхэм я лIы Iущ, я жыIакIуэу щыта Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэ Iущу нобэхэми къыддэгъуэгурыкIуэхэр, бэм я акъылкIэ псыхьа ди адыгэ псалъэжьхэр. Абыхэм куэдым урагъэгупсыс, нэхъыщхьэжыр аращи — хабзэм ухагъасэ, ухуаунэтI, ухуаущий. КъызгурыIуащэрэт, зэхэсщIыкIащэрэт жызыIэм и дежкIэ куэд и уасэщ мы псалъэжьхэр: «Лъэпкъым и напэр зылIми трехыф, лъэпкъым и щIыхьыр зылIми еIэтыф», «ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым». Абы яхуэдэщ Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэхэри. Абы зы къуэ закъуэ иIэу арати, мащIэIуэщ, жаIэу цIыхухэр къыщыхуэгузавэм, жэуапу яритащ: «Ар лIы хъумэ, сэ абы срикъунщ, мыхъумэ, зэрылъэпкъыу тхурикъунщ». Сыту фIыт ар дэтхэнэ зы адыгэми, дэтхэнэ зы щIалэми игу илъатэмэ.
Я насыпу плъытэ хъунущ блэкIа зэманыжьым и щIэинщ, жаIэу хабзэ дахэхэм емыбэну, емызауэу, ар ирагъэфIэкIуэфу зыIыгъ, зезыхьэ лъэпкъхэм. ИкIи, шэч хэлъкъым, апхуэдэхэм я зэIузэпэщагъыр, я псэукIэр абы куэдкIэ елъытащ. Хабзэ щIэныгъэр Iуэхушхуэм и мызакъуэу икIи Iуэху инщ. Ар зэи цIыхум зэран хуэхъуакъым. Зэран хъур щIэщыгъуэщIу, дэтхэнэ зыми ядэплъагъур уемыгупсысу уи гъащIэ хэплъхьэну, хыупщэну ущыхэтырщ, уи хабзэ дахэм и пIэкIэ.
Къызыщыхъу щыIэщ хабзэ умыгъэзащIэу узэрыхуейм хуэдэу упсэумэ, нэхъ тыншу, нэхъыфIу. Дауи, узэрыадыгэр пщыгъупщэжауэ, уи ныбэрэ уи фэрэ фIэкIа нэгъуэщI къыпфIэмыIуэхуу щытмэ, упсэуху упсэунущ. Ауэ щхьэхуещагъэмрэ щхьэхуэфIыгъэмрэ псори щIебгъэхъумэмэ, узэрыцIыхум къикIыж щыIэкъым. Зи нэхъыжь зымыгъэнэхъыжьым, зи адэ-анэ елъэстауэм, зи бзэ, зи хабзэ лъэныкъуэ езыгъэзым сыт хуэдэ щIэпхъаджэри къыпхуищIэфыну ялъытэри, апхуэдэхэм адыгэхэм я дзыхь ирагъэзыртэкъым. ЖаIэрт: «Бзаджэр уи цей къуащIэ къытетIысхьамэ, пыупщIи къэгъанэ».
МафIэдз Сэрэбий и
«Адыгэ хабзэ» тхылъым къитхыжащ.
Учебно-методическая разработка
МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны
Эпиграф
Узолъагъур си псэм хуэдэу,
Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу
Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у.
Къанкъул Ф I ыц I э.
Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
Мурадыр:
Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;
Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.
1. Литературнэ дакъикъэ . Щомахуэ А. «Ди Хэкур».
Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
И дахагъри хэт зымыщ1эр!
Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
Игу къонэжыр ар зылъагъум,
Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.
2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.
Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.
3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
Уи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.
Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
Хэкум емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
Бзури и абгъуэ щытепщэщ.
Адыгэ литературэ
3 – нэ класс
КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ
I920
Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах.
I927-I933
БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ.
I934-I936
Псыхуабэ дэт педрабфакым щIотIысхьэ.ЩоджэнцIыкIу А. .ныбжьэгъу пэж ,гъуэгу гъэлъагъуэ къыхуохъу.
I936
Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ,
I940
Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ
I94I
I948
Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ.
Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной».
I95I
Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI.
I950
«Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI.
I955
«Сэлам» усэ тхылъыр.
I957
«Си гъусэ» тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж.
I958
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI.
I966
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI.
4. Словарнэ лэжьыгъэ:
Къыр таж – жыр мывэ блын лъагэ
Къунан – илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ.
Акъужь – жьапщэ.
Гуэн – гъавэ хъумап1э.
Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.
5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр !
Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.
Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.
Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.
Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.
Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.
Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.
Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.
Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!
Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.
Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.
Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.
Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.
Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!
Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ, Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!
6. Яджар егъэбыдыл1эн:
Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;
Дызыгъэгуф1эр;
Дызэрыгушхуэр;
Дызэрыпагэр.
Зэгъэпщэныгъэхэр:
« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
«Къэхъугъэм и епэр»
«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»
«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
«Аузхэм щызэрахуэ
Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ»
«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
«Хы щхьэфэу мэбырыб»
«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»
Къэгъэпсэуныгъэхэр:
«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
«Уи ныджэм щопIейтей»
«Уи губгъуэр зэрахьащ»
«ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».
«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»
«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
«ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм»
Эпитетхэр:
«Дыщэ губгъуэ»
«Псы 1элхэр»
«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
«ЩIыпIэ дэгухэм»
«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».
Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.
Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.
Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.
7. Урокым и итог:
Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;
Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын
8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.
Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-
ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ
дызытетыр.
Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар
Налшык къалэ
31 – нэ курыт еджап1эм
адыгэбзэмрэ литературэмк1э
и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.
Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,
Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,
Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,
Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.
Щ. С.
Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей – Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.
Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.
Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.
Алий и тхыгъэхэмк1э къэбэрдей литературэр гъуэгушхуэ, гъуэгу тэмэм тригъэуващ. Щоджэнц1ык1ум и 1эдакъэщ1эк1хэр тхылъеджэхэм гунэс ящыхъуныр къэзышар усак1уэм и талантырщ, къи1эта 1уэхугъуэхэм я инагъымрэ ахэр тэмэму зэрызэпкърихамрэщ, зыхэпсэухьа гъащ1эм зэрыдэушарщ, и тхыгъэ гъуэзэджэхэр зэрыкупщ1аф1эрщ. Щоджэнц1ык1ум и гупсысэмрэ и къалэнымрэ куэдым нэсащ. Алий ф1ыгъуэу илэжьахэм ящыщ зыщ и геройхэм я гумрэ я псэмрэ я щытык1эр, абыхэм я гуращэр, я гуапэр е я гуауэр къэбэрдей литературэм япэу зэрыщигъэлъэгъуар. Абы и «Къамботрэ Лацэрэ» романым къегъэлъагъуэ патриорхальнэ – феодальнэ щытык1эм Къэбэрдейр щитам ди ц1ыхухэм я псэук1ар, пщыхэмрэ пщыл1хэмрэ яку дэлъа зэныкъуэкъуныгъэр; «Мадинэ» поэмэр адыгэ унагъуэм, абы илъа хабзэм теухуащ; «Тембот и дыгъуасэхэм» къэбэрдей мэкъумэшыщ1эхэм Дзэлыкъуэ къыща1эта восстанэм щыгъуазэ дащ1; «Ныбжьыщ1э хахуэ», «Партизан Жамбот» поэмэхэм ди хэкум граждан зауэр зэрыщек1уэк1ар, нэгъуэщ1хэри.
Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.
Щоджэнц1ык1у Алий и бзэр дахэщ, къулейщ. Сэ изогъэщхь ар макъамэ гуак1уэ зыщ1элъ уэрэдым. Щоджэнц1ык1ум щхьэк1э куэдрэ жа1эу зэхыбох : « усак1уэ 1эзэщ». Ауэ, сэ къызэрыслъытэмк1э, Алий дежк1э ар мащ1эщ. Ар псалъэм и художник 1эзэм къыщымынэу, гъащ1эм куууэ пхырыплъыф ц1ыху щыпкъэщ.
Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.
Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.
Нобэ Алий тхэмытыжми,
Псоми ди гум 1эф1у илъщ.
Къигъэнауэ и лэжьыгъэр
Усак1уэшхуэм и фэеплъщ.
Гъу. Хъу.
Щоджэнц1ык1у Алий хузоус.
Адыгэ хэкуу си лъахэм
Алий ц1эр лъагэу ща1этыр.
Усак1уэ иным уэ птхахэм
Кавказ щ1ыналъэр щолъап1эр.
Уи тхыгъэф1 куэдхэу къэнахэм
Псэщ1э ц1ыху псоми яхелъхьэр.
Уи усэ шэрыуэхэр зыджахэм
Сэри сащыщщи согуф1эр.
Уи повесть дахэхэм уеджамэ,
Мыбэяуж гу къеуэр щ1эх.
Гукъыдэж пщ1ыуэ, ут1ысамэ,
Узэ1эпешэ, удехьэх.
Уэ уэщхьу дахэу сытхэфамэ,
Ар насыпышхуэу сэ сыбжынт.
Уэ пхуэдэ тхак1уэ здэнт сыхъуамэ,
Сэ усэ тхынк1и с1уэтэжынт.
Мы гъащ1э 1эф1ым утемытми,
Сыт щыгъуи ди гум ущопсэу.
Мы ди зэманым ухэмытми,
Уи тхыгъэр куэдрэ тхурепсэу.
«Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».
Дэтхэнэ зы лъэпкъми и псэр — бзэрщ. Бзэр зэрызэпсалъэ, зэрызэгуры1уэ, дунеир къозыгъащ1э 1эмэпсымэщ. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр. Ц1ыхубэм ф1ыгъуэу зэригъэпэщахэм я нэхъ лъап1эщ л1эщ1ыгъуэк1эрэ къыдэгъуэгурык1уэ и анэдэлъхубзэр. Бзэм епхащ ц1ыхубэм ехъул1эныгъэу зы1эрагъэхьахэр, абы адэк1э и дунейм зэрызиужьынури аращ зэлъытар. Бзэр имы1эмэ, абы гъащ1и и1энукъым. Бзэр имы1эмэ, лъэпкъым и лъэпкъыгъэр ф1ок1уэд, ар адрейхэм яхошыпсыхьыж.
Зэрыжа1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Пэжщ, ипжк1э зэрыжыс1ащи, къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
«К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» — аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.
Адыгэбзэр бгъэлъэп1эн, бгъэбэгъуэн, бгъэбзэрэбзэн папщ1э, уадыгэ нэсу, адыгагъэ пхэлъу, адыгэлъ пщ1эту ущытын хуейщ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми бзэр зы1эщ1эдгъэк1, 1эщ1ыб тщ1ы хъунукъым. Ди бзэр ф1ыуэ тщ1эуэ, бзэм зедгъэужьыну дэрэжэгъуэу ди1эу дыщытын хуейщ. «Бзэр зэм нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ» жыхуа1э псалъэжьыр зэик1 зэщыдгъэгъупщэ хъунукъым. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъэгъун, егъэджын, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэм ЮНЕСКО – м мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э.
Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, зэрагъэузэщ1у щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.
Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ. Ауэ а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ.
— Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.
Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Сыхуейт Тхьэгъэзит Зубер и усэк1э сыухыну:
Анэдэлъхубзэр ущымыIатэм
Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат
Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,
Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.
Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,
Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.
Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи
Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.
Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!
Сочиненэ
«Си егъэджак1уэ»
Сэ куэдрэ зэхызох еджап1эр ди унэ ет1уанэщ жа1эу. Уегупсысмэ,пэжщ ар. Еджап1эм щыдогъак1уэ ди махуэм и нэхъыбэр. Мыбдежщ къыщытщ1эр ди гъащ1э гъуэгум адэк1э и къэк1уэнур. Еджап1эр ц1ыхум дежк1э къыпхуэмы1уэтэн гупсысэщ. Языныкъуэхэм дежк1э ар –унэщ,языныкъуэхэм дежк1э ар –ныбжьэгъущ.
Еджап1э къэс и 1ыхьэ нэхъыщхьэщ егъэджак1уэхэмрэ еджак1уэхэмрэ. Егъэджак1уэхэм еджак1уэ псори я зэхуэдэщ, ауэ сабийхэм дежк1э егъэджак1уэр — анэ пэлъытэщ.
Егъэджак1уэ 1эщ1агъэр сытым дежи ябжу щытащ нэхъ пщ1э зи1э лэжьыгъэхэм щыщу, ат1эми икъук1э 1эщ1агъэ гугъущ ар . Гупсысэк1э тэмэм, щытык1э дахэ, гъащ1эм япэ лъэбакъуэр хэзычэ сабийм и1эу къэбгъэхъун жыхуэп1эр, мыбдеж щыткъым. Ар икъук1э къалэнышхуэщ егъэджак1уэм дежк1э. Ди курыт еджап1эм щылажьэ егъэджак1уэхэм хэбдзын яхэмыту псори ф1ыхэщ. Ц1ыху къэс зыгуэрк1э удахьэх, уосэ, уи анэ дыдэм хуэдэу.
Сэ еянэ классым сыщоджэ. Зэи сщыгъупщэжынукъым япэ дыдэу курыт еджап1э ет1уанэм и пщ1ант1э хуитым сыщыдыхьауэ щытар. Нобэр къыздэсым ф1ыщ1э ин яхузощ1 си адэ-анэу а еджап1э дахэм сызышахэм, сыт щхьэк1э жып1эмэ, сэ ар къысф1ощ1 си унэ ет1уанэу.
Сыт еджап1эк1э зэджэр? Хэт уеупщ1ми я жэуапхэр зырызщ. Сэ си щхьэр къапщтэмэ, еджап1эр сэрк1э-ныбжьэгъу пэжщ, пщ1эрэ нэмысрэ здэщы1эщ. Еджап1эр–егъэджак1уэ ц1ыхуф1хэщ, гуф1эгъури нэщхъеягъуэри къыщыбда1эт унэщ, ди псэм, ди гум къыдыхьэ ди егъэджак1уэ лъап1эхэрщ.
Си щхьэр лъагэу с1этауэ схужы1энущ, псэк1э ф1ыуэ слъагъу си курыт еджап1эм апхуэдэ егъэджак1уэ куэд щы1эу.. Нобэ и гугъу сщ1ыну сыхуейщ ц1ыху щыпкъэу, хьэл дахэ хэлъхэм удихьэхыу, пщ1э ин зыхуэтщ1, пэщ1эдзэ классхэм сезыгъэджа Журт Асият, Мухътар и пхъум. Жэщ махуэ уимы1эу утепсэлъыхьк1и, хужып1эн бгъуэтынущ а ц1ыху гъуэзэджэм. И 1эщ1агъэр ф1ыуэ зылъагъу ц1ыху 1эдэбщ ар, къызэрыбгуры1уэнк1э дэтхэнэ зыми нэсу щ1эныгъэ къыдбгъэдилъхьащ абы.
Уеплъмэ Асият ц1ыху тк1ийуэ у1уплъэнущ, псэлъэн щ1идзамэ, гум зимыгъэнщ1у, удихьэхыпэу уедэ1уэфынущ, сыт хуэдэ 1уэхугъуэк1и сэбэп къыпхуэхъунущ.
Асият иригъэк1уэк1 сыхьэтхэм ущ1эса иужьк1э уи махуэр тыншу к1уэуэ къыпф1ощ1, дэтхэнэми уащыгуф1ык1ыну ухуейщ. Гугъущ а егъэджак1уэ псэ къабзэ зи1эр и п1э къипшыну, зыгуэрк1э т1эк1у къэбгъэгубжьами, чэнджэщ дахэк1э, ущие защ1эк1э псори къыбгуригъэ1уэжынущ. Еджак1уэ къэс ди1э щ1эныгъэри бгъэдыхьэк1э щхьэхуэхэмк1э, зэхуэмыдэхэмк1э къихутэфащ Асият Мухътаровнэ.
И гум и щабагъыр, и псэм и дахагъыр псоми зэхуэдэу къытхуигуэшащ абы. И 1эщ1агъэ мытыншым нэбэм къэск1и иролажьэ а егъэджак1уэ нэсыр.. Илъэс пл1ыщ1рэ щырэ хъуауэ сабийхэм яхэтщ. Псэемыблэжу, мыщхьэхыу и лэжьыгъэр егъэзащ1эр сытым дежи. Абы и сыхьэтхэр дакъикъэ къэс щ1эныгъэшхуэхэмк1э гъэнщ1ащ, щ1э гуэр къыщыумыщ1ауэ зы сыхьэти укъыщ1эк1ыжынукъым. Щхьэхрэ псэхурэ зимы1э ц1ыхущ ар.
Ущызэшу, пщ1эн щумыгъуэту, сыхьэтыр зэ и к1эм нэсащэрэт жып1эу абы и деж зэи ущ1эсыфынукъым, уи щхьэм щыпхуимыгъэзагъэр нэхъыбэщ а егъэджак1уэм къызэкъуих щ1эныгъэ хьэлэмэтыщэхэм я куэдагъыр.
Асият Мухътаровнэ иригъаджэ сабийхэр еджап1эм щек1уэк1 гъащ1эм жыджэру хэтхэщ, район зэпеуэхэм, зэхьэзэхуэхэм увып1э нэхъыщхьэхэр къыщахь. Тхылъым дызэрыдихьэхыным, лэжьыгъэк1э ипэ дызэрищыным хущ1окъу ар сытым дежи. Абы иригъэджахэм яхэлъщ пщ1э, нэмыс. Асият Мухътаровнэ елъагъу дэтхэнэ сабийхэри езым ей дыдэхэм хуэдэу. Дэри апхуэдэу дызэрыщытынум дыхущ1окъу.
Жыс1эну сыхуейщ егъэджак1уэр – ар 1эщ1агъэ къудейкъым, ар къыбдалъхуауэ, уи лъым хэту щытын хуей 1эщ1агъэщ.. Нобэ дыщогуф1ык1, мы 1эщ1агъэ мытыншым гурэ псэк1э бгъэдэтыф ди егъэджак1ухэм, щ1эблэщ1э къэк1уэнум ди ущияк1уэ пажэхэм. Узыншагъэрэ шы1эныгъэрэ я1эу илъэс куэдк1э я лэжьыгъэм пэщ1этынухэу сахуохъуахъуэ!