Открытое внеклассное мероприятие
«Родной язык — душа моя, мой мир»
(на кабардинском – черкесском
языке
к международному дню родного языка)
Работа Соховой Зиты
Мухамедовны
учитель начальных классов
МКОУ СОШ №1 с.п. Старый
Черек
Урванского района КБР
Февраль 2016 г.
Зэ1утхащ ди гуапэу ди школыбжэр ф1эхъус апщий.
Нэм хуэдэу ди анэхэ,
Дэм хуэдэу ди адэхэ,
Дахэу ди шыпхъухэ,
Жану ди къуэшхэ,
Дыгъэ щыгъэу ди щ1эблэ ц1ык1ухэ!
Фыкъеблагъэ, зи бзэр псэм пэзыщ1хэр
Ар сыт щыгъуи япэ изыгъэщхэр
Ди бзэр набдзэу къэзыбж псори
Гуапэу ди зэ1ущ1эм фыкъеблагъэ!
Дизэ1ущ1эр зытеухуар ди бзэ дахэм
ди бзэ къабзэм
Ди адыгэбзэу ди анэдэльхубзэм.
Пщэдей си бзэр
к1уэдыжынум
Сыл1эну нобэ
сыхьэзырщ.
/ Расул Гамзатов/
Адыгэбзэр
зэзмыгъащ1эу
Урысыбзэ сщ1эн
слъэк1акъым… /К1ыщокъуэ Алим/
Адыгэбзэ – Адыгэпсэ /
Жыласэ Замир/
1.Cи бзэ дахэу адыгэбзэ,
Си бзэ щабэу адыгэбзэ,
Узигъусэщ жэщи махуи,
Гущ1агъщ1элъу сянэм и бзэ.
2.Адыгэбзэ уэ си гъащ1эм
Хьэл- щэныф1хэр къыхэплъхьащ
Сыбгъэгушхуэу сытым щыгъуи
Уэ си гъащ1эм ухэлъынщ.
3.Адыгэбзэм нэхъ сф1эдахэ
Зы бзэ закъуи зэхэсхакъым
Адыгэбзэм хабзэ дахэр
Симыгъащ1эу хуэшэчакъым
4.Адыгэбзэ, уэ си дыгъэр
Махуэ къэск1э къысхуоупсэ
Адыгэбзэм и дахагъэм
Къыхелъхьэжыр адыгэпсэ.
Уи къуэпсхэр си анэдэлъхубзэ,
Сипкъ псом игуэшауэ сопсэу
Уэрщ л1ык1уэу и1эххэр си гупсэм
Ущохъу си тэрмэш къэрал псом.
Ведущий. Анэдэлъхубзэ! Мы псалъэхэр ди гумм къохуэбыл1э,
дегъэин. Абы дэ зыхыдегъащ1э къыддалъхуа , ди гум щыдгъаф1э бзэ лъап1э
дызэри1эр. Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъуж , ар зымыщ1э ц1ыхум къыщалъхуа лъэпкъыр
ф1ыуэ хуэлъагъунукъым. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри , уи
щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр.
Усэ Сытхэр уи
къэк1уэну ( Быгуэ Маринэ)
1.Сытхэр уи къэк1уэну си бзэ дахэ,
Си анэдэлъхубзэ, си бзэ 1эф1?
Уэ къыпхуащ1 «гулъытэм» сещ1 гу махэ
Уаф1эк1уэдыжын игъуэншэу сф1ощ1.
2.Сытхэр уи пщэдей .си адыгэбзэ?
Къуршхэм, уафэ къащхъуэм я1урылъ
Жэнэтбзу щхьэхуит зыгъэбзэрабзэ,
Къэзы1уатэ зэгуагуит1 гурыль.
3.Тхыдэ жыжэм укъыщожьэ, си бзэ,
Си лъэпкъ уардэм и анэм къыдилъхуа!
Л1ыжь жьак1эхухэм ура1эщэт,си псэ,
Ат1э сыт уахъты узэрыхуар?
4.Сабий къалъхуагъащ1эм и анэбзэм
Щымахъашэу щыщ1амыгъэдэ1у
Зы медан уэ къыпхуихуэну,си псэ
Пщ1амэ,утехьэнти уи гъуэгущхьэ1у
5. Узэпхыплъыжынт къэпк1уа гъуэгуанэм,
«Сытк1э ягу сеуа?»-ущ1эупщ1энт
Уэ упищ1у лъэпкъыми псэм ,и нэм
Щыщыта дакъикъэр къыт1ущ1энт
6. Уи псэ къабзэм ехуэбыл1э псалъэ
Къи1ущэщхэм уи гур яхъумэнт,
Къамыгъачэу зэгуамыгъэуду,
Бгъэм имыхуэж гуауэр тек1уэтынт.
7.Сыт пхуэсщ1эну, си бзэ,си псэ закъуэ,
Уи лъэр щ1эмыхуну ,Тхьэм и нэф1…
Сыпсэлъэнщ ,къызатми нэмыплъ жагъуэу,
Уэрк1э, сэ си адыгэбзэ 1эф1!
Ведущий. Ц1ыхубэм ф1ыгъуэу зэригъэпэщахэм я
нэхъ лъап1эщ л1эщ1ыгъуэк1эрэ къыдэгъуэгурык1уэ и анэдэлъхубзэр. Бзэм епхащ ц1ыхубэм
ехъул1эныгъэу зы1эрагъэхьахэр, абы адэк1э и
Дунейм зэрызиужьынури аращ зэлъытар. Бзэр имы1эмэ, абы
гъащ1ии1энукъым.
Ц1ыхум бзэм зыхуей къри1уатэ къудейкъым, ат1э ар и
гупсысэм и 1эщэ хьэлэмэтщ.
Адыгэбзэ
Адыгэбзэр си псэкъым,
Адыгэбзэр си нэкъым,
Си псэм хуэдэр си анэрщ,
Си нэм хуэдэр си адэщ.
Адыгэбзэр псысэкъым
1ейуи сыгупсысэркъым
Ар си нит1ым я нэщи
Ар схэлъ си псэм и псэщи…
Ди бзэмрэ сэрэ (К1ыщокъуэ Алим)
1Л1эщ1ыгъуэ дапщэ къэдгъэщ1ами
Сэлам къытпежьэм дэ етхынщ.
Ди бзэр псэужмэ, апщ1ондэхук1э
Си гугъуи ящ1у зэхэфхынщ.
2.Мак1уэр сыхьэтыр къимыгъазэу,
Вагъуэм нэсыни хулъэмык1.
Нэхъ згъэк1ыхьынут бзэм и гъащ1эр,
Ар щхьэк1э зыми ар лъэмык1.
3.Къэдгъэувы1энут а
сыхьэтыр,
Ар щхьэк1э ди бзэр
гум пымык1.
Си щ1ыбым илъу стелъщ
сэ хьэлъэ,
Бэлыхьу 1эджэм
сыхэмык1.
4.Сэ щ1ы къатиблыр къыслъысами,
Си анэм и бзэр с1эщ1эмык1.
Щыблэр къыщыуэм щыщ1эдзауэ
Вагъуэ зэшиблым деж нэсыху-
Аращ дэ гъуэгуу дызытетыр,
Ди анэм и бзэр тхъумэжыху.
Уэрэд «Си анэбзэ,
си адыгэбзэ»
(Джэдгъэф
Борис)
1.Пщэдджыжь нэхулъэм вагъуэр полъэлъри,
Къуалэбзуубзэр мэхъур пшынэбзэ
Бзум и бзэ дахэр сф1ощ1 си анэбзэ
Сэ си анэбзэ, си адыгэбзэ.
2.Къэт1ысыт сибгъук1э си анэ дыщэ
Гущэкъу уэрэдк1э къызэ1ущащэ
Сэ псэуэ си1эр ар си анэбзэщ,
Ар си анэбзэщ, си адыгэбзэщ.
3.Жыгей мэзыжьу жьым къигъэушым
Ныдэуэршэру псынэр мэушэ,
Псынэ 1ущащэр сф1ощ1 си анэбзэ,
Сэ си анэбзэ,си адыгэбзэ.
4.Гъатхэ накъыгъэм щ1ыр игъэпсалъэу,
Гулъхэр бэвыгъэу къызэрылъэлъым,
Щ1ылъэм 1урылъыр сф1ощ1 си анэбзэ,
Сэ си анэбзэ, си адыгэбзэ.
Ведущий. Бзэм лъэпкъыр зы ещ1, зы лъэпкъыр адрейхэм
къащхьэщегъэк1. Бзэр имы1эмэ ,лъэпкъым и лъэпкъыгъэр ф1ок1уэд, ар адрейхэм
яхошыпсыхьыж.
Зи щхьэ,зи лъэпкъ пщ1э
хуэзыщ1ыждэтхэнэри телэжьэн хуейщ къыдалъхуа и анэдэлъхубзэм, ар и нэ, и псэуи
илъагъу, и1этын хуейщ.
Бзэм и гъащ1эр зи 1эмыщ1э илъыр къэзыгъэщ1а лъэпкъырщ,
пэжу бгъэдэтмэ, тэмэму игъэлажьэмэ,еф1эк1уэнущ.
Си анэдэлъхубзэ
1.Си анэдэлъхубзэу си псэ,
Си анэдэлъхубзэу си
нэ,
Щхьэ ущымы1ужрэ
къабзэу
Нобэ уэ адыгэ унэм?
2. Си анэдэлъхубзэу дахэ,
Си анэдэлъхубзэу пагэ,
Зэгуэр ди адэжьхэр уэрти
Дуней псом язэрыхэтыр!
3. Си анэдэлъхубзэу
гуапэ,
Си анэдэлъхубзэу
гуащ1э,
Уи бын пэжхэр щ1ым
гуп-гупу
Щызэбгридзакъэ
гъащ1эм?
4.Мащ1э хъурэ гъащ1э мащ1э?
Мащ1эр хэк1уэдэжрэ занщ1эу?
Си анэдэлъхубзэу щыпкъэ,
Уэ ущхьэщыхьакъым нэпкъым!
5. Си анэдэлъхубзэу
нахуэ,
Си анэдэлъхубзэу
хахуэ,
Зы шу закъуэу щытми
нартыр
Пэувыфти и дзэм
чынтым.
6. Си анэдэлъхубзэу уардэ,
Си анэдэлъхубзэубыдэ,
К1уэщ1ыр пэжмэ уэ уи л1ыгъэр,
Ар дэращ зи хуэмыхугхэр.
7. Си анэдэлъхубзэу
си псэ,
Си анэдэлъхубзэу си
нэ,
Щхьэ ущымы1ужрэ
къабзэу
Нобэ уэ адыгэ унэм?
8.Ямыпсыхьу къэна купкърищ
Сосрыкъуэ и1ар л1ап1эу,
Си анэдэлъхубзэу лъап1э
Уэ ул1эжмэ – л1эжащ лъэпкъыр!
Урысыбзэр дунейм нэхъ бзэ лъэщ дыдэу
щы1эхэм ящыщщ, ар умыщ1эу уи щ1эныгъэм, уи акъылым зиужьынукъым. Ауэар тэмэму
пхузэгъэщ1энукъым уи анэдэлъхубзэр нэгъэсауэ умыщ1эу.
К1ыщокъуэ Алим и усэ сатырхэм къыхощ
ар:
Адыгэбзэр
зэзмыгъащ1эу
Урысыбзэр
сщ1эн слъэк1акъым.
Зи бзэр зымылъагъужым и лъэпкъри
зрипэсыжыркъым. Анэдэлъхубзэр 1умпэм зыщ1ым къызыхэк1а лъэпкъри къыдалъхуахэри
егъэпуд.
«Уи Хэкум хуи1э лъагъуныгъэр ныкъуэщ,
Анэдэлъхубзэр ф1ыуэ умылъагъумэ»
(К.Паустовский)
Абгъуэм къик1ыу бгъэр лъэтэнум
Хуейщ и дамэр ишэщ1ын
Ц1ыхум ц1ыхуу зибжыжынум
Хуейкъэ и бзэр ищ1эжын.
Адыгэбзэ (Бемырзэ Мухьэдин)
1.Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж
Си гукъыдэж, си гурыф1ыгъуэ,
Узи1эу зыми семыфыгъуэ
Узи1эу зыми семыиж.
2.Си анэдэлъхубзэ, уэ улъэщщ,
Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ
Ц1ыхугу дэтхэнэри къот1эщ1
Уэ ущагъабзэк1э 1эрыхуэу.
3.Уэ уаф1эжьгъейми къэбгъэщ1ащ
Зэрыдунейуэ зэджэр «Нартхэр»
Гъэ минхэр, си бзэ уэ бгъэщ1ащ
Иджыри мащ1экъым уи нат1эр.
4.Си лъэпкъым щ1эблэ къыщ1эхъуам
Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу
Я нэхъ тхьэмыщк1э ущыхъуам
Уре1э уэ, си адыгэбзэ!
Ди бзэр хъума хъун папщ1эк1э псоми гугъу зедгъэхьын
хуейщ.1уэры1уатэу ц1ыхухэм къахэна уэрэдыжь, шыпсэ,гъыбзэхэр зэхуэхьэсыжынымк1э
дэ1эпыкъуэгъу дыхъун хуейщ.
Нобэрей адыгэ щ1эблэм ди къалэнщкъыддалъхуа
бзэр, ди адэшхуэхэм къащ1эна хабзэдахэр тхъумэну, ипэк1э дгъэк1уэтэну, лей
къытедмыгъэхьэну.
Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри уэ бгъэбагъуэу,
Ди адыгэбзэ, куэдрэ уэ тхуэпсэу.
1эф1ыгъэу, л1ыгъэу пхэлъым, уи гуапагъэм
Щыгъуазэ сщ1ынт, слъэк1амэ ,дуней псор.
(Кагъырмэс Борис)
Уэрэд «Адыги» (Апанас Астемир)
Си бзэм сэрэ дызэт1олъхуэныкъуэу
Зы адыгэ анэм дыкъилъхуащ…
Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,
Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар!
(Мыкъуэжь
Анатолэ)
Ей, пщащэ жанхэу Къэбэрдей пщащэхэ!
Къэбэрдей щауэхэу, щауэ къуданхэ!
Бэм дазэрыхэту дэ ди анэбзэр
Дывгъэгъэлъап1э, едывгъэгъэф1ак1уэ!
Адыгэ къафэ
Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.
Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.
Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.
Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.
Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?
Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.
Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.
«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.
Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.
Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .
Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…
Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.
Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…
Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.
Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.
Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:
Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,
Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,
Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…
Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.
Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.
Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».
Адэк1и щ1оупщ1э:
«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?
Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,
Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»
Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.
Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.
Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:
Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!
Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!
Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.
1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.
Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.
Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:
Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!
Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.
Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей
Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.
Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,
Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.
Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.
Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.
Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!
Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.
Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.
Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.
1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.
Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу
«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э
Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.
Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!
Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.
Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э
Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.
-
December 15 2012, 13:43
- История
- СССР
- Cancel
«Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».
Зэрыжы1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
«К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» — аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Хэк1ащ апхудэу адыгэм ди зы къуэш лъэпкъым и псэр. Зи гугъу сщ1ыр убыххэрауэ зэрыщытыр дауи къывгур1уа хъунщ. Адыгэ 1уэхум иригузавэ дэтхэнэ зы ц1ыхуми игур щ1эмыузынк1э 1эмал и1экъым мы л1акъуэ уардэм и щхьэм къырик1уа насыпыншагъэм. Убых лъэпкъым и гум къеуэным щ1ыщигъэтам щхьэусыгъуэ куэд и1эщ. Абыхэм ящыщщ ахэр псори Уэсмэн империе бзаджэм 1эпхъуэн хуей зэрыхъуар, абы 1эпхъуа нэужь зэрызэк1эщ1ачар, тыркухэм я къэралыгъуэм щыпсэу нэгъуэщ1 лъэпкъхэм егъэщ1ыл1ауэ ирагъэк1уэк1а политикэ гущ1эгъуншэр. А псори зэхыхьэжри убыххэр к1уэдыпащ. Тевфик Эсенч иужьк1э зыри а бзэ жьгъырумк1э ирипсалъэжакъым. Абдеж ди къуэш лъэпкъым и псэр хэк1ауэ ябжын щ1адзащ. Убыххэр езыхэр къапщтэмэ нэхъ адыгэ л1акъуэ инхэм ящыщу щытащ. А псори к1уэдыжауэ ф1эщ щ1ыгъуейщ. Дауик1 абы зыгуэр къэнащ, Тыркуми иджыри щыпсэууэ жа1э, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр псоми я1эщ1эхуа хъуащ. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ. Сыхуейт Иуан Бубэ и усэк1э сыухыну:
Уи анэбзэр гъаф1э.
Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1э
Пхуахъумам ар пэщ1.
Пхуахъумащ адэжьхэм
Бзэм я нэхъ къулейр.
Зи бзэ зымыджыжхэм
Зэи уадэмыплъей.
Зи бзэ хуэмеижыр —
Ар лъэпкъыншэ мэхъу.
Зи лъэпкъ 1уэху еижыр
Гъащ1эм къегъэщ1эхъу.
Бзэр 1эщ1ыбмэ — йобэ,
Мэхъу тэджыжыгъуей.
Ар тхъумэныр нобэ
1ущагъ псом я лейщ.
Адыгэбзэр гуапэщ,
Лант1эщ ик1и лъэчщ.
Дыгъэ налъэу хуабэщ,
Уи псэм и данлъэчщ.
Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1э
Пхуахъумам ар пэщ1.
Бзэрабзэ, си бзэ дахэу, адыгэбзэ!
Мурадхэр: — ЦIыхум и анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр псэкIэ еджакIуэхэм зыхегъэщIэн;
— Я бзэм пщIэ хуащIу, фIыуэ ялъагъуу, ирипсалъэу, Iуэху иризэрахьэу, я гупсысэ хуиту къраIуатэу егъэсэн;
— «Бзэр кIуэдмэ, лъэпкъри мэкIуэд» адыгэ псалъэжьым и гупсысэ куур ягурыгъэIуэн, абы къишэ гузэвэгъуэ иныр, апхуэдэ гузэвэгъуэ къызыщыщIа лъэпкъ адыгэм дызэриIэр зыхегъэщIыкIын.
Адыгэ макъамэ дахэ къеуэу композицэр езыгъэкIуэкIынум къыщIедзэ.
«Си адыгэ напэ»
Сэ соупщIыр, сэ соупщI дыгъуасэм,
Тхыдэм и дыгъуасэ гум и щIасэм:
— Яхъумахэр сыт ди адыгэлIхэм,
Я псэ IэфIыр мафIэм щыпэралъхьэм?
Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,
ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.
Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр
Си адыгэ, си адыгэ напэр.
Сэ соупщIыр, сэ соупщI си махуэм,
Си нобэрей махуэ гум и нэхум:
— Зыхуэлажьэр сыт си гуащIэ мащIэр,
СыщIэпагэ мы си лъэпкъ гумащIэр?
Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,
ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.
Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр
Си адыгэ, си адыгэ напэр.
Сэ соупщIыр, сэ соупщI си гъащIэм,
Си къэкIуэну гъащIэ нуру сфIэщIым:
— Къытезнэнур сыт си лъахэ дыщэм,
Сыпсэну сэ сащымыгъупщэу?
Зыщ жэуапыр: ар адыгэ напэщ,
ГъащIэм елъэпIэкI адыгэ напэщ.
Ноби си гум арщ щIигъэнэхъапэр
Си адыгэ, си адыгэ напэ!
Джэдгъэф Борис.
Езыгъэк1уэк1ым: 1. Фи махуэ фIыуэ ди ныбжьэгъу лъапIэхэ! Нобэрей ди литературно – макъамэ композицэ «Бзэрабзэ, си бзэ дахэу адыгэбзэ!» зыф1этщар зытеухуар дэтхэнэ зыми къыддалъхуа ди анэдэлъхубзэращ. Псоми зэрытщIэщи, бзэр цIыхуу дунейм тетыр зэрызэрыщIэ, зэрызэгурыIуэ, зэрызэпсалъэ Iэмалщ. Бзэр щымыIэмэ, цIыхум бзэр имыщIэмэ, гъащIэр гугъу хъунущ, цIыхухэр зэрыщIэнукъым, аращ «Бзэр кIуэдмэ, лъэпкъри мэкIуэд» адыгэ псалъэжьым щIыжиIар.
Езыгъэк1уэк1ым: 2. Къыщалъхуа махуэм щыщ1эдзауэ ц1ыхум зэхехыр анэм, адэм, адэшхуэ – анэшхуэхэм я макъ. Псалъэхэр имыщ1э щ1ык1э сабийм макък1э къиц1ыхуу хуожьэ махуэ къэс илъагъу, игъунэгъу ц1ыхухэр. Ауэрэ псэлъэфу, къэзыухъуреихь дунейр зыхищ1эу щ1едзэ. Щ1эныгъэл1хэм къызэрахутамк1э, сабийм илъэсибл ныбжьым щитым псалъэу нэхъыбэ дыдэ зэрегъащ1э, игу иреубыдэ, адэк1э къигъэщ1эну и гъащ1э псом нэхърэ. Аращи, абы щыщ1эдзауэ, ц1ыхум и бзэм лъагъуныгъэ хуи1эу къэгъэтэджын хуейщ. Ауэ сытми жа1эркъым, щ1эныгъэ уимы1эу упсэуфынущ, ауэ бзэр умыщ1эу упсэуфынукъым. Пэжщ ар иджыи.
Езыгъэк1уэк1ым: 3. Къызэрахутамк1э, бзэуэ миних (6 тыс.) щы1эщ. Абы и ныкъуэр хэк1уэдэжыным нэсауэ щытщ, сыт щхьэк1э жып1эмэ ц1ыху ирипсалъэкъым, нобэр къыздэсым тхыгъэ зимы1э лъэпкъи хэтщ, псалъэм папщ1э, Африкэм и ц1ыхухэм щыщу процент 80% -м иджыри я1экъым тхыгъэ. Илъэс къэс бзэуэ пщ1ы (10) хок1уэдык1, мэк1уэдыж. Гуры1уэгъуэщ, бзэр к1уэдыным нэхърэ нэхъ гузэвэгъуэ зэрыщымы1эр, сыт щхьэк1э жып1эмэ абы и гъусэуи лъэпкъри мэк1уэд.
Езыгъэк1уэк1ым: 4. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъагъун, егъэджын, егъэщ1эн, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэ лъандэрэ ЮНЕСКО –м, мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э. Дэри мы тхьэмахуэм абы теухуауэ едгъэк1уэк1ащ 1уэхугъуэ зыбжанэ , ик1и ахэр псори къызэщ1эткъуэжу нэбэ, бзэм и махуэм, литературно – макъамэ композицэри, зэрыжыт1ащи, абы тедухуащ.
5. Анэдэлъхубзэу бзэм я лей!
Ди гущэ къуапэм и уэрэд,
Укъыддалъхуащи ди псэм ухуэдэщ.
Ди адыгэбзэ, уей!
6. – Дунейм щынэхъ дахэр сыт?
— Адыгэ хъыджэбзырщ!
— Абы нэхъ дахэжыр сыт?
— Адыгэ шу къабзэрщ!
— Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?
— Адыгэл1 губзыгъэрщ!
— Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
— И бзэр – адыгэбзэрщ!
7. Щы1эщ жи1эу: «Ди бзэр мыхьэнэншэщ».
Щы1эщ жи1эу: «Ди бзэр къулейсызщ».
Бэзэр 1уэхухэр мыхъумэ, нэгъуэщ1 гуэрхэм
Я щхьэ уи1эбэну «къыбдэмыбз».
Ар жызы1эм, ахэр зи жьэ къек1уэм,
И анэ быдзышэр ещ1 хьэрэм.
Зи бзэр нэгъуэщ1ыбзэк1э зыхъуэжым,
Сыт имыхъуэжыну къыхуэнэн?
Уэрэд — « Си анэбзэ»
8. ЩытыкIэ куэдым ихуащ си лъэпкъыр Iэджэрэ, ауэ сыт хуэдиз гугъуехь ямышэчами я бзэ дахэр яхъумэжыфащ, лIыгъэ яхэлъу. Урыс – Кавказ зауэ закъуэр ирикъунт лъэпкъым и бзэри, и хабзэри, и лIыгъэри ирифIэкIуэдыну. Ирикъунут, ауэ ягъэкIуэдакъым, лъэпкъым зыфIигъэкIуэдакъым, ихъумэжыфащ и бзэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а бзэр цIыхум и гъащIэм къыпхухэхынутэкъым икIи къыпхухэчынутэкъым, ар гуэхыпIэ имыIэу гъащIэм епхащ, абы щыщ Iыхьэщ, зэрыпсэур аращ, ар шэч лъэпкъ зыхэмылъыжщ. Абы и щыхьэтщ абхъаз тхакIуэшхуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романым щыщ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Зи быдзышэ уефа уи анэм и бзэр пщыгъупщэжынукъым, Шэрахъ, ар, хэт жиIэми, уи фIэщ умыщI. Уи анэр пщыгъупщэжын – апхуэдэщ, ар пхузэфIэмыкIынщ…».
9. «Узэгугъур къогугъуж» – жеIэ адыгэ псалъэжьым, аращ анэдэлъхубзэри – уегугъумэ, урилажьэмэ, тэмэму ухущытмэ, абы зиужьынущ, нэхъри ефIэкIуэнущ, нэхъ къулей, шэрыуэ хъунущ.
Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.
10. «Анэдэлъхубзэ»
Си анэдэлъхубзэ, зэкъым уэ губгъэну
ЗэрыпхужаIахэр нэху къыптемыщхьэну,
ЖаIэрт убзэхыну, жьым зэрихьэ бгъэну,
КъалэкIыхьым адкIи сыфIумышыфыну.
Ауэ, зыпIэтащи, бгъэхэм уохьэуохуэ.
Тэрчым и псыпыхуу мыкIуэщIыжщ уи псалъэр.
Шууейр и уанэгум нобэ щогъэхахуэ,
Тхуожумарт сыт IуэхукIи уэ Iущыгъэу пхэлъыр.
ЗашэщIащ уи гъуэгухэм, къэрал Iэджэм нэсу.
НэгъуэщIыбзэ жылэхэр зыхэплъхьащ бэвыгъэу.
Фыздопсэу бзэ Iэджэ нобэ зэнэзэпсэу.
Сэри сегъэусэ пхэлъ уи шэрыуагъэм.
Си анэдэлъхубзэ, узианэщ — ушэ,-
Анэр зэи хъуркъым гущэ уэрэдыншэ.
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм.
Уэрэд – «Анэдэлъхубзэ»
11. Бгы лъапэм къыщIэж нартсанэу къабзэ, анэ быдзышэу къэуат, хьэуа пэлъытэу узыпхыплъыф, налкъут – налмэсу гъэжа, дыщэ плъыжьым ефIэкI, Iущыгъэ инхэр къызэIузых, зи жылакIэр, кIуэдыж яфIэщIми, бэурэ къэкIыж, тенджызым имытхьэлэф, гурыщIэ куухэр зэрыIуах IункIыбзэ, бийм игу изых, анэ гущабэу къодэхэщIэф, пэж зэраIуатэ, лъагъуныгъэбзэкIэ дахащэ.
12. Уэ урибзэщ нарт Бэдынокъуэ, лIыгъэм сыт щыгъуи ухуэгъэпсащ, уэ урибзэщ Сэтэней гуащэ, хьэгъэщагъищи Iэзэу зыбохьэ, уэ урибзэщ ПащIэ Бэчмырзэ, Iущыгъэ инкIэ уэ упсыхьащ. УIурылъащ ЩоджэнцIыкIу Алий, уэрщ зэраIуэтар Лацэ, Мадинэ сымэ я лъагъуныгъэр!
13. Си адыгэбзэ, си адыгэпсэ, уэ усIурылъщи, сэ нэхъ бей щымыIэ, уэ узиIэщи, зеиншэ зыми сыхуэмыщIын, си лъахэм и гур уэращ, уэрщ и хъумакIуэр си лъэпкъым!
Сэ слъэкIыгъамэ, уи щIыхьыр уафэм нэсыхукIэ сIэтынт, илъэс мин къакIуэхэм упсэун хуэдэу, къулеигъэ псори уэстынт, ахэр уэ узэриIэр сымыщIэу щытамэ,Тхьэм сыпхуелъэIуурэ уэ къыпхуеIысхынт, си адыгэбзэ, си адыгэпсэ!
14. «Си анэбзэ, си адыгэбзэ!»
Си анэдэлъхубзэ, си лъэпкъыбзэ,
Анэбзэу си псэм къеубзэрабзэ,
Хэт и бзэ сэркIэ нэхъ щэбэн!?
Нэхъ къехуэбылIэ псэм згъуэтын!?
IущагъкIи хэт къыппэлъэщын!?
Хэт и бзэ упэсщIын слъэкIын!?
Уэрыншэу сыт схузэфIэкIын!?
Уэрыншэу сыпсэун слъэкIын!?
Си адыгэбзэ, си псэм и псэ,
Лъэпкъ гъащIэм лъыкIэ ухэпщащ.
Лъы защIэ лъэпкъыр куэдрэ хъурти,
Къытехуэр дэбгъэунэхуащ:
КIуэдыпIэ щихуэм –
УщIыгъуащ, хуэбусу гъыбзэ бын кIуэдахэм,
Къуэ къыщыпхуалъхум,
ДэпIэтащ бгъэпсалъэу пшынэр,
Ноби уэрщ.
Уэращ ди лъэпкъым и нэ вагъуэр
Уэ утхуэблэхукIэ,
ДиIэщ лъэпкъ
Лъэпкъ къыткъуэтыхукIэ
Дэ дыцIыхущ.
Мэмхэгъ Рая.
15. Адыгэхэм къакIуа гъуэгуанэ хьэлъэм и Iэужьщ ди лъэпкъэгъухэр дуней псом щикъухьа зэрыхъуар. Ауэ дэнэ щымыпсэуами ахэм я гур я хэкужьымкIэ щыIэщ, я бзэри, я хабзэри зыщагъэгъупщэркъым.
«Фысакъ»
16. Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым.
Акъыл ин ухуэмей
Къыбгуры1уэу а т1эк1ур
Утетыну дунейм.
Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,
Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.
Бзэр тхъумэну зымыдэр
Ди биям къагъэщ1ащ.
Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр,
Т1эщ1эк1амк1и дрикъунт.
К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым
Хипщэжар сыт хъужын.
Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,
Лъы зыщ1этыр фысакъ.
Псы зыщ1этыр тек1уэту,
Вгъэ1у бзэ дахэм и макъ.
Бештокъуэ Хьэбас.
17. Лъэпкъыр узыншэу щытын папщ1э, ар япэк1э к1уэтэн щхьэк1э щ1эблэ узыншэ и1эн хуейщ. Сабийр дунейм къыщытехьа махуэм щыщ1эдзауэ анэдэлъхубзэр дахэу зэрыбзэрабзэр зыхегъэщ1эн хуейщ. Сыт хуэдэу гухэхъуэ зи анэбзэр зыгъэбзэрабзэ щ1эблэм уедэ1уэну!
18. «Аращ адыгэр»
Сытми ар адыгэ?
И бзэр имыщ1эжым.
Мащ1эу зигъэпагэу,
Шыбгым имысыжым.
Сытми ар адыгэ?
Уджым хэмыхьэжым.
Бухъар пы1эр лъагэу
Нат1эм темысыжым!
Сытми ар адыгэ?
Хабзэр иубыжым,
Пэк1э кърашэк1ыу
Хэти и 1эдэжым.
Сытми ар адыгэ?
Жьым нэмыс хуимыщ1ым.
1энэм ягъэт1ысым –
Къэтэджыж зымыщ1эм!
Гупым яхыхьамэ,
И пщ1эр ф1эмык1уэдым,
1уэхук1э щытхъу къихьамэ,
Мис аращ адыгэр.
И ф1ыщ1агъэр щ1эблэм
Щапхъэ яхуэхъуамэ,
Игъэ1эсэм щыблэр –
Мис аращ адыгэр!
Лъэпкъыр иузэщ1у
Гъащ1эр игъэдахэм,
И гур ныбжьэгъу куэщ1мэ –
Мис аращ адыгэр!
Щоджэнц1ык1у Нурий.
19. «Адыгэбзэу си бзэ лъапIэ»
Адыгэбзэу си бзэ лъапIэ,
Хэкум уэ уриуэздыгъэщ.
Адыгэбзэу си бзэ дахэ,
Дунейм уэ уринэхугъэщ.
Адыгэбзэу си псэм и псэ,
Сэ узиIэщ гъащIэ Iэнэу.
Адыгэбзэу си нэм и нэ,
Сэ узобжыр узианэу.
Адыгэбзэу си бзэ пагэ,
Лъэпкъым уэ урикъэбзагъэщ.
Адыгэбзэу си бзэ гуапэ,
Дунейм уэ урипэжыгъэщ.
Адыгэбзэу си бзэ нахуэр,
Уэ ди лъэпкъым уридыгъэщ.
Адыгэбзэу си бзэ хахуэр,
Си лъэпкъ уардэм уримазэщ.
Адыгэбзэ, адыгэпсэ,
Уэрщ си лъэпкъым и хъумакIуэр.
УщыIухукIэ уэ ди лъахэм,
Ибэ хъункъым си лъэпкъ мащIэр.
Хьэрэдурэ М.
20. Си адыгэ лъэпкъри, си анэдэлъхубзэри зэи уэрэдыншэ хъунукъым, бзэрэбзэнущ, зи цIэр жыжьэ Iуа, зи хэкур, лъэпкъыр, бзэр зыгъэбжьыфIа е иджыри зыгъэбжьыфIэ цIыху щэджащэхэм я цIэр хэмыкIуэдэжу дунейм тетыху. Дэ дрогушхуэ ди лъэпкъ уардэм Редадэ, Инал, Идар Темрыкъуэ, Нэгумэ Шорэ, Къардэн Къубатий, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, тхакIуэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КъардэнгъущI Зырамыку, Шортэн Аскэрбий, сурэтыщI КIыщ Мухьэдин, Пащты Гермэн, дирижер Темыркъан Юрэ, артистхэу ТIыхъужь Алий, ДыщэкI К1унэ, олимп чемпионхэу Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудран Беслъэн, Джэду Аниуар сымэ, нэгъуэщI куэдхэри къызэрытхэкIам. Мыбыхэм хуэдэ адыгэ дунейм тетыху, ди лъэпкъри псэунущ, ди адыгэбзэри бзэрэбзэнущ.
21. Адыгэбзэр убзэрабзэм,
Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,
Дыгъэ джылыр къыщIокIыжри,
Бзум усэныр ягу къокIыжыр.
Уэрэд — «Си анэбзэ, си адыгэбзэ» Хъыбий Инал
22. ЦIыхум и псэм пищIыфынур, сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, абы и гъунэгъу дыдэращ, фIыуэ илъагъуращ, къыдалъхуаращ. Апхуэдэщ анэдэлъхубзэри цIыхуу дунейм тетым я дежкIэ, ар анэм къыдделъху. Дэ ар хэдмыгъэкIуэдэжу едгъэфIакIуэу, дгъэлъапIэу, зедгъэужьу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэр лIэщIыгъуэ куэдкIэрэ лъэпкъым гъащIэм къыкIуэцIрихауэ, химыгъэкIуэдэжу, иригъэфIакIуэу, зригъэужьу къогъуэгурыкIуэ.
23. Щэхуми нахуэми ди зэманым цIыхухэм яIуатэу зэхыбох: «Адыгэбзэр къулейсызщ, къарууншэщ, ар бджыуэ зэман щIэбгъэкIуэдын щыIэкъым, ар дэ къытхуэсэбэпынукъым». Анэдэлъхубзэр къэмысэбэпыну, абы и зыужьыныгъэм мыхьэнэ имыIэу къэзылъытэхэр цIыху «къулейуэ» жыпIэ хъунукъым. Апхуэдэ цIыхухэм къащохъу езыхэм я мыхъумыщIагъэр адыгэбзэм тралъхьэкIэрэ я бзэмыщIэныгъэр хагъэгъуэщэну. Апхуэдэ гупсысэ зиIэхэм къагурымыIуэр зыщ – бзэм и къарурщ. Уи бзэмкIэ цIыхум уегуэуэфынущ, и гур хэбгъэщIыфынущ, уеблэмэ пхуэукIынущ, сымаджэмэ – бгъэхъужыфынущ, и гур пхухэгъэхъуэнущ, гукъыдэжышхуэ ептыфынущ, гъащIэм гущыкI хуебгъэщIыфынущ, апхуэдэ дыдэуи гъащIэм хуэдэ щымыIэу къыщыбгъэхъуфынущ, дэрэжэгъуэ ин епту. АтIэ апхуэдиз лъэкIыныгъэ, къару зиIэ ди бзэр, ди адыгэбзэр, дауэ фIыуэ зэрыдмылъагъунур, псэм и хъуахуэу къызэрыдмыбжынур? ДымылъагъупIэр иIэкъым Iуащхьэмахуэу уардэ, къуршыпс уэру лъэщ, зэнзэныпсу къабзэ, тенджызыр зи кууагъ, дыгъэм хуэдэу хуабэу гур зыдэхуабэ, псэм и хъуахуэ, гъащIэр зыгъэнэху, налкъутналмэсу зэщIэблэ си бзэ лъапIэр!
Уэрэд – «Адыгэл1» Бэрэгъун Марианнэ. Уэрэдыр къеуэу усэр жа1э.
24. «Зэ уадыгэну сыт и уасэ!»
Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,
Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,
Хъуэхъум я нэхъыфIхэр зэхыуагъэхыу
Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу –
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Уи къурш лъапэ псынэпс къыщыкъуалъэр
Уи бын и быныжхэм къыщIагъалъэу,
Уи Iэщ хъушэм хъупIэхэр яуфэбгъуу –
Мо 1уащхьэмахуэшхуи къыбдалъагъуу
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Уи нэмыс, уи фащэ, уи джэгукIэм
Уи щIэблэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,
Узэпсалъэр,
УщIэпсалъэр пщIэжу,
Уи лъэпкъ напэр лIыгъэкIэ бгъэпэжу –
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Уи шы лъэпкъыфI пцIащхъуэу щIэлъэтыкIым
Укъэшэсрэ лIыуэ бгъэшу батэр,
УщIэукIытэжыни къыпхуимыхуэу,
Уэ уи щIакIуэ кIапэр жьым зэрихуэу –
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Хьэм уигу щIэгъуу –
Зэхэпхамэ пщIэууэ,
УзэрылIэжынур
Зэгуэр пщIэуэ,
Дунеишхуэм уэ щыпщIэн щыпщIауэ,
ЛIым и хьэлкIэ гъащIэ къэбгъэщIауэ –
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
АфIэунэ Лиуан.
25. УсакIуэшхуэ АфIэунэ Лиуан зэрыжиIащи, уи хабзэкIэ, нэмыскIэ, лIыгъэкIэ, къарукIэ, цIыхугъэкIэ, псом я щхьэжыращи, уи бзэкIэ дуней псом ущыцIэрыIуэу зэ уадыгэну сыт и уасэ! Хуит дыкъэфщIмэ, а псалъэ купщIафIэхэмкIэ зэхуэтщIыжынщ ди литературно – макъамэ композицэ: «Бзэрабзэ, си бзэ дахэу адыгэбзэ!» зыф1этщар.
Уэрэд – «Адыгэл1» Бэрэгъун Марианнэ. Уэрэдым и к1ыхьагък1э йода1уэ.
Всем привет.Помогите,пожалуйста,с сочинением🙈❤.Вот такая тема:»Си бзэ,си псэ,си дуней»Предложите свои варианты🙏 в коммах.
Анонимно
Астемир Кумыков
20.01.2018
5
Мой тебе совет завтра прогуляй этот урок😂😂😂😂😜
Рамазан Карачаев
20.01.2018
4
Уи бзэм утемыпсэлъыфыхьыну балыхьышхуэкъэ.🙄
Астемир Кумыков
20.01.2018
Умар, 😂
Астемир Кумыков
20.01.2018
Карина, да😂
Назират Абазова
20.01.2018
Си бзэр жы1и къегъажьи, атк1э п1ыт1 сыт1 зыгуэрхэр тхы🌚
Фатима Добагова
20.01.2018
1
Мама еупщ1🤷♀️ дымыщ1эм ара къыджезы1у щытар
Мариям Узденова
20.01.2018
2
😂😂😂 лучше прогуляй урок
Алёна Хатухова
20.01.2018
уи бзэм теухуауэ зыри пхужымы1эну пэжкъым
Астемир Кумыков
21.01.2018
Придумайте рассказ жари грустное жари къыджа1ат по литературе в 11 классе.СИ очередь мыгъуэр кьэсыри Кумыков к доске жари может не надо жыс1урэ сытмэ уей сыдашымэ давай Кумыков расскажи нам что ты там сочинил жари.😂Жила была одна семья было счастливо она и пришла к ним беда жыс1а къудейуэ т1ыс 2 жери сигъэт1ысыжат жэшу л1эным это музыка,а не рассказ жери иджыпсту уэду сощ1эж ааа урокыр😂😂😂Марьяна Хамедбиевна 6 школам ирегъа1э.Ар мыгъуэ зык1э сф1эф11ейуэ жыс1эти аа уэрэдыр жызы1эр лохурат аууэ пщ1э си нэ ц1ык1уит1ыр ехьэхауэ грустну.
Астемир Кумыков
21.01.2018
Диктант жари мыгъуэ дагъэт1ысымэ уей адыгэбзэмк1э,.къыщ1идзащ сытмэ жи1ын и 1ахъ жи1э жи1эт здэстхым красное линием сынэсауэ ааа ц1ык1ухэр пщык1ут хъут жери жи1а,Арати Жанна Сафарбиевна пщыр стхыуэ К1УТ1Р къесхьэк1 хъуну жыс1ати😂😂😂😂отвечаю вообще я не подумал о пошлом😂😜къехьэк1 Кумыков къехьэк1 50 лет хъуауэ къызохьэк1ри зыри къысщыщ1а1ымэ жи1эт😂😂😂😂😂😂😜сытми псори дыхьэшху щыст общу дызыхэсурат.😂дыщысурэ познакомитесь это Ваш новый ученик жари зы къыщ1ашэмэ уей си гьусу щыс девочкар 1уагъэк1ыри къагъэт1ысымэ уей😂😂😂и тетрадир кьещтэри къыщызы1уихым сщ1э1ымэ абы и унэц1эм сыщ1еплъар😂😂😂😂ГУДУЕВ Борист ээ😂😂😂😜удыхьэшхынумэ къеблагъэ😂😂😂😂и сол1апэ хахам сыпиуда псори мэдыхьэшх къызэплъурэ😂и сытмэ сагъовы1эжа😂дыщысурэ дытхурэ Борис и ручкар тхэтэ1ымэ и къызже1э ручка лишня п1ыгъу п1эрэ жери
Астемир Кумыков
21.01.2018
1
Жанна Сафарбиевна мы Гудыжь 😂Борис ручка лишня къет ка и ручках тхэ1ыми жыс1ати😂😂😂к директору вонннннн жери сегъак1уэмэ уей 😂😂директорым уей Астемир симыгугъэнт апхуэду укъыщ1идзыну жери😂😂😂эээ жыс1а 1ааа Гудуев Борис и унэц1эти ли адыгэбзэ дахэ сымыгъэк1уэдын щхьэ жес1ащ жыс1а ка мы Гудыжь Борис и ручкар тхэ1ыми ручка лишня кьефт жыс1ауращ жыс1эри аа директорыр зык1э хахати и 1уохур л1эн сигугъат 😂😂😂😂😂Сыщ1эсыжарэт иджыри 😜😂Аллыхьыр согъэпэж выпускноим гъыуэ къызигъэухащ😂😂😂😂😂😂😂😂😂
Астемир, уемызэшу дау птха мыр ау….
Астемир Кумыков
21.01.2018
1
Макар, уей стхам аплодисментхэр да1э или т1ыс 2?😂
Синэнэ 1эш1оу синэнэ к1асэм
Сэ къыс1уилъхьагъэр сиадыгабз.
Сыдэу тхьар еуи зыбзэ к1осагъэм,
Лъэпкъым ынапэр иныдэлъфыбз.
Нэхэе Р.
Сыбзэ — си Дунай,,, Мы гущы1ит1ум мэхьанэшхо я1.
Ц1ыфыр къызыхъук1э,быдзыщэм игъусэу ныдэлъфыбзэм имэкъамэмэ дунаим хащэ. Ц1ыф лъэпкъ пэпчъ ныдэлъфыбзэ и1. Сэ синыдэлъфыбзэу, дунаим иш1угъэ къысфызэ1узыхыгъэр – сиадыгабз. Бзэр – лъэпкъым ыпсэ зан. Дунаир зэрэзэхифырэр, ар зэрилъэгъурэр, ащ ш1уагъэу къыхихырэр, игухэлъ – гупшысэхэр, ихэбзэ зек1уак1эхэр, дэхагъэу щы1ак1эм хэлъыр – зэк1эми ныдэлъфыбзэр анэсы. Ныдэлъфыбзэр к1оч1эшхоу , зэк1ужьэу, гъэк1эрэк1агъэу лъэпкъым идунэееплъык1э егъэнэфы , игулъытэ егъэбагъо, ащ к1уач1эрэ л1ыгъэ-блэнагъэрэ хилъхьэзэ лъэпкъым фэ1орыш1э.
Синыдэлъфыбзэу сиадыгабз…. Имэкъамэхэр орэдышъоу къысэ1у, псыхъом ижъынч макъэ щызэхэсэхы, шым илъэмакъэ ар къыпэджэжьы, жьыбгъэм ишъуи макъэ къыдежъыу. Сиадыгабзэ дунаим идэхагъэ зэхысегъаш1э. Сэ сырэгушхо синыдэлъфыбзэк1э сыгу ихъык1ырэр къызэрэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э,адыгэ жабзэ зы1улъ ц1ыфмэ сызэращыщыр.
Бэ адыгэ лъэпкъым дунаим илъэгъо гъогу къырэк1офэ къинэу ыпэ къик1ыгъэр. Адыгэм игъаш1э анахь тхьамык1агъоу къыхэхъухьагъэмэ ащыщ Урыс- Кавказ заор. Заом къелыжьыгъэхэр яч1ыгурэ ятахътэрэ фимытыжьыхэу, яхэкужъ абгынэжьи , Истамбул гъогужъым тыритэкъуагъэх. Хырэ ч1ырэ зэпичи а гъогужъым адыгэхэр дунаим тырипхъагъэх. Бэ адыгэ ц1ыфым а лъэхъан хьылъэхэм ч1энагъэу аш1ыгъэр, ау сыд фэдиз къин алъэгъугъэми тилъэпкъ ыбзэ ыгъэк1одыгъэп. Зыбзэ ч1эзымынагъэм ынапи къабзэ, иц1ыфыгъи лъагэ. Сэ насыпыгъэшхоу сэлъытэ сянэжъ сятэжъхэм «ч1ыгужъыр» амыбгынэу тиадыгэ шъолъыр дахэ къызэринагъэхэр. Сафэраз сыфитэу тыбзэк1э дунаим идэхагъэ къис1отык1ын зэрэслъэк1ырэм. Сафэраз тидунай идэхагъэ 1оры1уатэк1э зэхэсмыхыжьэу , нэрылъэгъоу зэхэсш1эн амал къызэрэсатыгъэм. Сыгу ихъык1ырэр синыдэлъфыбзэк1э къэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э сафэраз.
Сиадыгабзэ – лъэпкъ ш1эныгъэм игъэт1ылъып1, лъэпкъ дунэегуры1уак1эр зэхещэ, ш1ум, дэхагъэм тыфещэ. Синыдэлъфыбзэ лъэпкъым къыщыш1рэ пстэури зэгъэфагъэу къырехьак1ы, гу зэ1ухыгъэк1э ц1ыфыр дунаим хегъаплъэ. Лъэпкъ итэкъухьагъэмк1э адыгабзэр лъэпкъым зык1ыныгъэ къезытырэ лъапс, зэрэадыгэр къызэраушыхьатрэ амал.
Нэмык1ыбзэ умыш1эным емык1у хэлъэп. Емык1ушхуи умыш1эныр ныдэлъфыбзэр. Убзэ уукъо хъущтэп, уадыгэ ц1ыфмэ уиадыгабзэ ш1у плъэгъоу, уфэсакъэу ущытын фае. Синыдэлъфыбзэ орэд къырып1ощтмэ , гъэтхэ ощх бзыбз, адыгэ усэ уедэ1у зыхъук1э узишъэ ч1эонэ, узхещэ, дунаим ш1оу тетыр зэк1э угу къегъэк1ы. Ц1ыфым иныдэлъфыбзэ 1улъ зыхъук1э, ежь ц1ыфыр къегъэдахэ, ц1ыфым идунэееплъык1э зыфэдэри къыбгурегъа1о. Синыдэлъфыбзэ акъыли, л1ыгъи, дэхагъи, ш1улъэгъуи, пэгагъи хэбгъотэщтых. Ау тыгъэ пэтзэ ащи бжъыгъэхэр телъхэ мэхъух, арышъ тэ адыгэхэми , щык1агъэ тимы1эу щытэп. Тхэтых тэ «сыадыг» а1оу, ау яныдэлъфыбзэк1э гущы1ан амылъэк1эу. Ащ фэдэ ц1ыфым, анахь еджэгъэшхор арми, угу егъунэу ч1ып1э урегъэуцо.
Сыгу къео сэ, адыгэ ц1ыфэу зызылъытэхэрэмэ ащыщхэмэ «чылэм узыдэк1рэм сыдк1э адыгабзэр къыпшъхьапэщт» зэра1орэр. Ащ фэдэ ц1ыфхэр сэ нэпэнчъэхэу сэлъытэ.
Сэ синыдэлъфыбзэу сиадыгабзэ сырэгушхо! Сэ сыгу къытеофэ сыбзэ згъэлъэп1эщт! Шъоум фэд синыдэлъфыбзэр, сян адыгабзэр, сэ си Дунай сиадыгабзэр! Сэ сыбзэ — сибаиныгъ!
Си анэбзэ, си адыгэбзэ
Узэрымыпсалъэ бзэм уригупсысэкъым, узэрымыгупсысэ бзэр щымыIэ палъэщ – зэрызепхьэм, зэрыбгъэпсэуалъэм елъытащ лъэпкъым пщэдейм щиубыдыну увыпIэр. Жьабзэр фащэмэ, тхыбзэр Iэщэщ, айтIур зэпэIэщIэ хъумэ, зэмыгъусэу щытмэ, бзэм ихьын щыIэкъым. Ар гъащIэм къихьа зы пэжщи, жьабзэри тхыбзэри зэдгъэкIун хуейщ; щIэблэм анэдэлъхубзэр ищIэнымкIэ мыкъутэж шэсыпIэ дыщиувэфынур абдежщ. Адыгэбзэ псэлъэкIэмрэ тхыгъэмрэ щызэлъэIэскIэ, щызэкIэлъыщIыхьэкIэ, бзэм иджыри ущыгугъ мэхъу, щIэблэри абы хуэшэрыуэу къызэрытэджынумкIэ
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщ «Си анэбзэ, си адыгэбзэ» зи фIэщыгъэцIэ Тхыгъэ Зэпеуэри абы теухуащ. 9-11 классхэм хэс еджакIуэхэр мы зэхьэзэхуэм хэтыну, анэдэлъхубзэр зэращIэр, я гупсысэр тхыгъэм зэрырагъэзэгъыр, адыгэ тхыбзэ хабзэхэм зэрыщыгъуазэр къагъэлъэгъуэну ди гуапэу къыдогъэблагъэ.
Зэхьэзэхуэм кърихьэлIэну ныбжьыщIэхэм я пащхьэ итлъхьэнущ зытеухуарэ къаIуатэкIэ зэмыщхь псалъэ гуп. ЕджакIуэм и гупыжкIэ къыхиха псалъэр е зэгъусэ ищIа псалъитI-щыр зы гупсысэм иришалIэу и гурылъ-гурыщIэхэр, и Iуэху еплъыкIэхэр, и дуней лъэгъукIэр къызыхэщ тхыгъэ игъэхьэзырын хуейуэ аращ.
Дэтхэнэ зы классми 1, 2, 3-нэ увыпIэхэр щаугуэшынущ. Тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэр зи IэдакъэщIэкI еджакIуэхэм фIыщIэхуэщIэ тхылърэ ахъшэ тынкIэ яхуэупсэнущ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIа дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и лэжьыгъэр щытхъу тхылъкIэ къыхагъэщынущ. Абы щыфIэкIауэ Адыгэбзэ Хасэм игъэува ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер япэ увыпIэр къэзыхьыну 11-нэ классым хэс еджакIуэм хуигъэфэщэнущ. Стипендиер гъэ еджэгъуэр икIыхункIэ еджакIуэм мазэ къэс иратынущ.
Зэпеуэм хэтахэм щыщу адыгэбзэм хуеджэн гухэлъкIэ ЕджапIэ Нэхъыщхьэ щIэтIысхьэну еджакIуищми ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер хуагъэувынущ.
Адыгэбзэ Хасэм и гугъэщ зэхьэзэхуэм къыхэкIыну лэжьыгъэхэр, зытхахэм я цIэ-унэцIэр хэмыгъуащэу, зэхуихьэсыжу тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIынуи.
2014 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м ирихьэлIэу зэхыхьэну «Си анэбзэ, си адыгэбзэ» Тхыгъэ Зэпеуэр щекIуэкIынур Налшык къалэ дэт Мэлбахъуэ Темборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ Библиотекэрщ.
ЩыщIидзэнур сыхьэтыр 14.00