метки: Лэжьыгъэф1ым, Егъэдахэ, Ц1ыхур, Зыгуэрк, Языныкъуэхэм, Илъэс, Сыхуейщ, Уэхэмрэ
Сочиненэ
«Си егъэджак1уэ»
Сэ куэдрэ зэхызох еджап1эр ди унэ ет1уанэщ жа1эу. Уегупсысмэ,пэжщ ар. Еджап1эм щыдогъак1уэ ди махуэм и нэхъыбэр. Мыбдежщ къыщытщ1эр ди гъащ1э гъуэгум адэк1э и къэк1уэнур. Еджап1эр ц1ыхум дежк1э къыпхуэмы1уэтэн гупсысэщ. Языныкъуэхэм дежк1э ар –унэщ,языныкъуэхэм дежк1э ар –ныбжьэгъущ.
Еджап1э къэс и 1ыхьэ нэхъыщхьэщ егъэджак1уэхэмрэ еджак1уэхэмрэ. Егъэджак1уэхэм еджак1уэ псори я зэхуэдэщ, ауэ сабийхэм дежк1э егъэджак1уэр — анэ пэлъытэщ.
Егъэджак1уэ 1эщ1агъэр сытым дежи ябжу щытащ нэхъ пщ1э зи1э лэжьыгъэхэм щыщу, ат1эми икъук1э 1эщ1агъэ гугъущ ар . Гупсысэк1э тэмэм, щытык1э дахэ, гъащ1эм япэ лъэбакъуэр хэзычэ сабийм и1эу къэбгъэхъун жыхуэп1эр, мыбдеж щыткъым. Ар икъук1э къалэнышхуэщ егъэджак1уэм дежк1э. Ди курыт еджап1эм щылажьэ егъэджак1уэхэм хэбдзын яхэмыту псори ф1ыхэщ. Ц1ыху къэс зыгуэрк1э удахьэх, уосэ, уи анэ дыдэм хуэдэу.
Сэ еянэ классым сыщоджэ. Зэи сщыгъупщэжынукъым япэ дыдэу курыт еджап1э ет1уанэм и пщ1ант1э хуитым сыщыдыхьауэ щытар. Нобэр къыздэсым ф1ыщ1э ин яхузощ1 си адэ-анэу а еджап1э дахэм сызышахэм, сыт щхьэк1э жып1эмэ, сэ ар къысф1ощ1 си унэ ет1уанэу.
Сыт еджап1эк1э зэджэр? Хэт уеупщ1ми я жэуапхэр зырызщ. Сэ си щхьэр къапщтэмэ, еджап1эр сэрк1э-ныбжьэгъу пэжщ, пщ1эрэ нэмысрэ здэщы1эщ. Еджап1эр–егъэджак1уэ ц1ыхуф1хэщ, гуф1эгъури нэщхъеягъуэри къыщыбда1эт унэщ, ди псэм, ди гум къыдыхьэ ди егъэджак1уэ лъап1эхэрщ.
Си щхьэр лъагэу с1этауэ схужы1энущ, псэк1э ф1ыуэ слъагъу си курыт еджап1эм апхуэдэ егъэджак1уэ куэд щы1эу.. Нобэ и гугъу сщ1ыну сыхуейщ ц1ыху щыпкъэу, хьэл дахэ хэлъхэм удихьэхыу, пщ1э ин зыхуэтщ1, пэщ1эдзэ классхэм сезыгъэджа Журт Асият, Мухътар и пхъум. Жэщ махуэ уимы1эу утепсэлъыхьк1и, хужып1эн бгъуэтынущ а ц1ыху гъуэзэджэм. И 1эщ1агъэр ф1ыуэ зылъагъу ц1ыху 1эдэбщ ар, къызэрыбгуры1уэнк1э дэтхэнэ зыми нэсу щ1эныгъэ къыдбгъэдилъхьащ абы.
Уеплъмэ Асият ц1ыху тк1ийуэ у1уплъэнущ, псэлъэн щ1идзамэ, гум зимыгъэнщ1у, удихьэхыпэу уедэ1уэфынущ, сыт хуэдэ 1уэхугъуэк1и сэбэп къыпхуэхъунущ.
Асият иригъэк1уэк1 сыхьэтхэм ущ1эса иужьк1э уи махуэр тыншу к1уэуэ къыпф1ощ1, дэтхэнэми уащыгуф1ык1ыну ухуейщ. Гугъущ а егъэджак1уэ псэ къабзэ зи1эр и п1э къипшыну, зыгуэрк1э т1эк1у къэбгъэгубжьами, чэнджэщ дахэк1э, ущие защ1эк1э псори къыбгуригъэ1уэжынущ. Еджак1уэ къэс ди1э щ1эныгъэри бгъэдыхьэк1э щхьэхуэхэмк1э, зэхуэмыдэхэмк1э къихутэфащ Асият Мухътаровнэ.
22 стр., 10815 слов
КЪЭЖЭР ХЬЭМИД УЭРЭД ЩIАУСЫР Литературэ портретхэр НАЛШЫК «ЭЛЬБРУС» …
… къыхуагъэфэща щытхъу псалъэ гуапэхэр. Тхьэгъэзит Зубер и творчествэр ди лъэпкъ литературэм и тхыдэм зэрыхыхьэрэ куэд щIащ. Абы и тхыгъэ нэхъыфIхэр хрестоматием ихуащ, курыт еджапIэми университетми щадж, критическэ, … пщэдей зызыукъуэдиину къуэпсхэр, БлэкIари, Иджырейри, КъэкIуэнури зыуэ щызэхэжабзэж Зэманыр, – а псори щызэхэхуэж «тенджызыр» дахэ къудейтэкъым. Ар икIи абрагъуэт. ИкIи шынагъуэт. Ауэ …
И гум и щабагъыр, и псэм и дахагъыр псоми зэхуэдэу къытхуигуэшащ абы. И 1эщ1агъэ мытыншым нэбэм къэск1и иролажьэ а егъэджак1уэ нэсыр.. Илъэс пл1ыщ1рэ щырэ хъуауэ сабийхэм яхэтщ. Псэемыблэжу, мыщхьэхыу и лэжьыгъэр егъэзащ1эр сытым дежи. Абы и сыхьэтхэр дакъикъэ къэс щ1эныгъэшхуэхэмк1э гъэнщ1ащ, щ1э гуэр къыщыумыщ1ауэ зы сыхьэти укъыщ1эк1ыжынукъым. Щхьэхрэ псэхурэ зимы1э ц1ыхущ ар.
Ущызэшу, пщ1эн щумыгъуэту, сыхьэтыр зэ и к1эм нэсащэрэт жып1эу абы и деж зэи ущ1эсыфынукъым, уи щхьэм щыпхуимыгъэзагъэр нэхъыбэщ а егъэджак1уэм къызэкъуих щ1эныгъэ хьэлэмэтыщэхэм я куэдагъыр.
Асият Мухътаровнэ иригъаджэ сабийхэр еджап1эм щек1уэк1 гъащ1эм жыджэру хэтхэщ, район зэпеуэхэм, зэхьэзэхуэхэм увып1э нэхъыщхьэхэр къыщахь. Тхылъым дызэрыдихьэхыным, лэжьыгъэк1э ипэ дызэрищыным хущ1окъу ар сытым дежи. Абы иригъэджахэм яхэлъщ пщ1э, нэмыс. Асият Мухътаровнэ елъагъу дэтхэнэ сабийхэри езым ей дыдэхэм хуэдэу. Дэри апхуэдэу дызэрыщытынум дыхущ1окъу.
Жыс1эну сыхуейщ егъэджак1уэр – ар 1эщ1агъэ къудейкъым, ар къыбдалъхуауэ, уи лъым хэту щытын хуей 1эщ1агъэщ.. Нобэ дыщогуф1ык1, мы 1эщ1агъэ мытыншым гурэ псэк1э бгъэдэтыф ди егъэджак1ухэм, щ1эблэщ1э къэк1уэнум ди ущияк1уэ пажэхэм. Узыншагъэрэ шы1эныгъэрэ я1эу илъэс куэдк1э я лэжьыгъэм пэщ1этынухэу сахуохъуахъуэ!
Си Лъахэ.
(Балъкъыз Ф.Х.)
Бахъсэн куейм
и лъахэм уихьэм
И1эщ щ1ып1э
куэд.
Зэ плъэгъуамэ
уигум хыхьэу
Къыхубош уэрэд.
Удахьэхыр я
дэхагъэм
Гущ1эр мэп1ейтей.
Удэплъейми
укъеплъыхми
Пф1ощ1ыр псом нэхъ
лей
Щытщ бэвылъэу ди губгъуэшхуэр
Гъавэр ди гъунэжщ.
Къуршыжь лъагэм
дрогушхуэ.
Къуатыр гукъыдэж.
Псыежэххэр
псынэу къабзэщ
Уефэм зомыгъэнщ1.
Хьэщ1эу къак1уэу
хъуар ди гуапэщ
Лъахэ, уэ зузэщ1!
Бахъсэн лъахэм ис
ц1ыхубэм
Ди хъуапсап1эр
зыщ.
Мамырыгъэр псоми
ди бэу.
Дэ дызыкъуэтынщ.
Щыбгъуэтынкъым ди
щ1ыналъэм
Хуэдэу дахэк1ей.
Ирегъагъэ,
иреф1ак1уэ
Сэ си лъахэр уей!
Къэсихьэблэ,Къулъкъужын,
къысхуэмыщ1э
къыхэсхын.
Е
Зеикъуэ,Псыхъурей,
хьэмэ ар
Дыгулыбгъуей?
Мы Тыжьейуэ п1эрэ
ар,
зи гугъу сщ1ыну
къысхуэнар?
Хьэуэ, ар къысф1ощ1
Псык1эху,
дуней псор
къэзыгъэнэху.
Ислъэмей,Хьэт1окъущыкъуей,
Хьэк1эщей,
Кушмэзыкъуей
Мы ди щ1ып1эм
хуэдэу бей,
щыбгъуэтынкъым
Къэбэрдейм.
Анэ. (Балъкъыз
Ф.Х.)
«Сыту гуащ1э мы зы
псалъэр!»-
Жыс1эу
сытогупсысык1.
Къысщохъур анэ
зимы1эжым
Мы дунеишхуэм
хуищ! гущык!.
И гуэныхьыр
гуэныхьищэщ
Жа1эу куэдрэ сэ
зэхэсхт.
Ауэ умыхъуам уэ
анэ
Гуэныхь псор
зэхомыщ1ык1.
Жей имы1эу жэщи
махуи.
И бын т1эк1ум
теубгъуащ.
Балигъ хъуауэ ар
бынунэми
Гужьеяу и гъащ1эр
к1уащ.
Быну и1эр и
зэхуэдэщ.
И псэр псом
щхьэк1э итынщ.
Анэм хэт и жагъуэ
ищ1ми.
Гъугъуехь куэдхэр
ипшынынщ.
Дыгъэ къепсым псэр
дохуабэ.
Вагъуэ лыдхэм нэр
топщ1ык1.
Анэ псалъэм гур
дощабэ
Дунейр дахэу
щогуф1ык1.
Фшхауэ хъункъым
дэни фык1уи.
Анэ шхыным хуэдэу
1эф1.
Щы1эу хъункъым зы
макъ гуак1уи
Анэм и бзэм нэхъ
нэхъыф1.
Фымыщ1 анэм фэ и
жагъуэ.
Евмыт анэм фэ
гухэщ1.
Мы дунейр
щыпф1э1эф1ынур.
Псэухущ анэр, фщ1ы
фи ф1эщ!
Ц1ыху
насып.(Балъкъыз Ф.Х.)
Насып жыхуа1эр сыт
зищ1ысыр?
Гум нэсу хэт жэуап
итын?
Дунейм ц1ыху тету
хъуам а псалъэр
Къащохъур пэжу
жа1эфын.
Насыпщ, дыгъэпсым
уигъэхуабэу
Пщэдджыжьк1э
гуапэу къыпхуепсын.
Насыпщ, дунейр
мамыру щыту
Гукъеуэ зэи
умылъэгъун.
Насыпщ, угуф1эу
нэр зэтепхыу
Уи быным гуапэу
у1ущ1эн.
Насыпщ, гугъу
уехьми пхузэф1эк1ыу
Уахуэхъумэ псоми
щ1эгъэкъуэн.
Насыпщ, дунейм
щхъуант1агъэу тетыр
Уи гъусэу гъатхэм
нытехьэн.
Насыпщ,
губгъуэшхуэм жьыбгъэ итыр
Уи пщ1ант1эм
хуабэу щыдэпщэн.
Насыпщ, нэхъыжьхэр
зыщхьэщыту
Гъуэгу захуэм пэжу
ирик1уэфым.
Насыпщ, зэкъуэшхэр
зэрылъагъуу
Зэкъуэту гъащ1эм
дек1уэк1ыфым.
Насыпщ, узыншэу
нэху укъек1ым.
Насыпщ, уи гъащ1эр
тыншу пхьым.
Насыпщ, нэмыс
къыпхуащ1ым блэк1ым.
Насыпщ, унагъуэр
тэмэм хъум.
Гукъэк1ыж.(Балъкъыз
Ф.Х.)
Дыгъэм и къуэпсыр
нэгум иредзэ.
Мазэм и къуапэр
щыгум щолыд.
Гугъэу пхузи1эм сф1ещ1ыр
пхъэидзэ.
Сф1ощ1
узмылъагъумэ гъащ1эр нэхъ дыдж.
Щэхуу гупсысэм зэ
зыкъысщ1едзэ.
Зэми стоужри
псынщ1эу мэк1уэд.
Зыныпхуэзгъаф1эу
пщ1ыхьк1э щ1ызодзэ.
Сыкъызэщыумэ
п1ащ1эу сток1уэт.
Узмылъэгъуамэ
махуэр зэшыгъуэщ.
Мэхъур зэиншэ
уэрыншэм дунейр.
Дэнк1и згъэзами си
нэгу укъыщ1охьэ.
Къасщ1эу гурыщ!эр
мэхъур п1ейтей.
Уэгум къисхынут
вагъуэр слъэк1атэм.
Зэщ1элындэжу уи
гъуэгу тезгъувэнт.
Уэрк1э гугъап1эу
си1эр къэпщ1атэм
Хэт къыбжи1ами
зэхомыщ1энт.
Псы ежэх ц1ык1ум и
1ущэщагъэм
Сыныщ1одэ1ур
езгъэщхьу уи макъ.
Зэпызоплъыхьыр
ихъуреягък1э
Къак1уэу
къысф1ощ1ыр си деж уи лъэ макъ.
Ф1ылъагъуныгъэм
псэр дощ1эращ1э.
Ф1ылъагъуныгъэм
гур егъэин.
Узэрылъагъуу
гъащ1эр къэбгъащ1эм.
Хэти и дежк1э ар
насып минщ.
Беслъэн
ц1ык1у.(Балъкъыз Ф.Х.)
Зи ц1эр
згъэлъап1эу си щ1алэ 1ущ.
Бзухэр бзэрабзэу
сф1ощ1ыр бдэуш.
Дунейр дахащэу
къыбдощ1эращ1э.
Мы сигури уэрк1э
щхьэ пхуэгумащ1э.
Щ1алэ ц1ык1у
закъуэр си псэм ущыщщ.
Т1эк1у зыбгъэпагэу
уохъур ерыщ.
Уи щхьэфэм щабэу
1эр тызолъащ1э.
Сомыщ1эу псэк1э
сыно1ущащэ.
Зэпызупщ1ами
гъуэгуанэ блыщ1.
Си Беслъэн ц1ык1ур
псом нэхъ нэхъыф1щ.
Уэрщ сыщ1ытетыр
дунейм ар зэгъащ1э.
Илъэс мин гъащ1э
тхьэм къуигъэгъащ1э.
Си Беслъэн ц1ык1уу
псэр дэзыхьэх
Сыщынопсалъэк1э
гур къэзыхьэху.
Уэрк1э сыпагэу си
щхьэр 1этащ.
Тыгъэшхуэу ди
тхьэм укъызитащ.
Гушы1э уэрэд.
(Балъкъыз Ф.Х.)
Дыгъэм нащхьэ
схуищ1урэ уэгум къит1ысхьащ.
Гугъэ нэпц1
сывгъэщ1урэ зысф1эвгъэпщк1ужащ.
Гъащ1эм и
1эф1агъри фэрщ сэзыгъэщ1ар.
Гухэлъ дахэу
си1эри, фэрщ сэ зыхуэсщ1ар.
Си Джульеттэ,си
Анетэ,си псэм фэ фыщыщщ.
Си Арини, си
Марини, сэрк1э псори зыщ.
Мес Альбини, мес
Мадини, зыми фезмыгъэщхь.
Мы Залини, мы
Зарини, схуащ1ыр т1уми нэщхъ.
Къыхэсхынур
къысхуэмыщ1эу фэ сыкъэвгъэнащ.
Хэт дахащэщ, хэт
бзаджащэщ жыс1эу сыфхэплъащ.
Ауэ сигур
дэзыхьэхыр хэт къызжи1эфын.
Сыфхэплъами,
сыф1уплъами къысхуэмыщ1эфын.
Вагъуэ лыдым
хуэдэщ Джульеттэу дахэк1ейр.
Дыгъэ бзийр и
нэгущ Аринэу си псэр зейм.
Си Маринэ ц1ык1уи
зыми пэзмыщ1ын.
Ф1ыуэ слъагъу
Мадини зыми езмытын.
Мес Анетэ дахи
гуф1эу къысхуоплъэк1.
Си псэурэ Альбини
зыи збгъэдэмык1.
Мы Зарини, мы
Залини си псэр ятхьэкъуащ.
Сщ1энур
къысхуэмыщ1эу фэ сыкъэвгъэнащ.
Удихьэхыу пщащэ
куэди тетщи мы дунейм.
Зым нэхъ зыр нэхъ
гуак1уэ пщыхъуу, пф1ощ1ыр псори уей.
Ауэ уигум уэ
щ1эдэ1уи пэжыр къыбжи1энщ.
Лъагъуныгъэ маф1эр
лыгъэу занщ1эу къыпщ1идзэнщ.
Ей, щ1алэф1хэ,
маржэ хъунхэ, чэнджэщыф1 фызот.
Ди щхьэр лъагэу,
зыдгъэпагэу дэ дыщывмыгъэт.
Куэдрэ псоми
дахэплъыхьми дэ дыхэк1ыжынщ.
Гугъэ нэпц1
едгъэщ1хэу щытми къытпэуджэжынщ.
Си
гукъэк1ыж.(Балъкъыз Ф.Х.)
Мы си гущ1эр сыт
къыщ1еуэр.
Темыпы1эу
къэбгъэнащ.
Лъагъуныгъэу сэ
пхузи1эм
Дэ т1ур зы
дызыхуищ1ащ.
Ущыслъагъук1э
сохъу гумахэ.
Узмылъагъумэ лъэр
йохуэх.
Сыщ1эплъэхук1э уи
нэ дахэм.
Дуней дахэр
схуегъэнэху.
Гухэлъ дахэу
къысхуэпщ1ахэм
Щхьэхуимыту
сатхьэкъуащ.
Гур п1ейтейуэ
къыпхуэзэшу.
Си псэм ф1ыуэ
уилъэгъуащ.
Гъащ1э гъуэгур
дызэгъусэу
Етхьэк1ыну псалъэ
ттащ.
Гугъэ нэпц1хэр
зэхуэдбгъэщ1ри
Жып1а псалъэм
уепц1ыжащ.
Гухэлъ щэхуу
къызжеп1ахэр
Жьыми, псыми
ихьыжащ.
Гукъэк1ыжхэр гурыф1ыгъуэу
Сыкъомыщ1эу
къысхуэнащ.
Ущыслъагъук1э
сохъу гумахэ
Узмылъагъумэ лъэр
йохуэх.
Сыщ1эплъэхук1э уи
нэ дахэм.
Дуней дахэр
схуегъэнэху.
Махуэ лъап1э.
(Балъкъыз.Ф.Х.)
Уи махуэ
лъап1эмк1э нобэ
Тыгъэу уэрэд
ныпхузощ1.
Гъащ1эу къэбгъащ1эм
и ф1ыгъуэм
Ущымыщ1эну
къысф1ощ1.
Дахагъэу щы1эм
уеф1эк1ыу
Благъи,
ныбжьэгъуи къохъуэхъу.
Насып мыухыр
мык1уэщ1у.
Уи гъащ1эр дахэ
ирехъу.
Жьант1эм къыдэсщ
нэхъыжьыф1хэр
Уи ц1эк1э хъуэхъу
зэпадзыж.
Махуэр щ1эращ1эу
пхуэгуф1эу.
Къоплъри нащхьэ пхуещ1ыж.
Мэгуф1эр мазэр
уджэгумэ
Вагъуэм 1эгуауэр
къа1эт
Мы днеишхуэр уи
лъэгумэ.
Ар уи насыпым
зе1эт.
Нобэрей махуэр
дгъэлъап1эу.
Уэр щхьэк1э
дызэхуэсащ.
Бжет1эну псоми ди
гуапэу.
Хъуэхъуф1хэр
зэхуэтхьэсащ.
Уигур здэплъэм уи
лъэр лъырес.
Хъуэхъуу пхужа1эр
уэ къыплъырес.
Дэрэжэгъуэм
ущымыщ1эу.
Уи жьы хъугъуэр
зэхомыщ1эу.
Илъэс мин уи
ныбжьыр нырырес.
Узыншагъэм
ущымыщ1эу урепсэу.
Нэхъыжьыф1хэр
къыпщхьэщыту уигъэпсэу.
Уи пщ1эр лъагэу
уригушхуэу, дуней дахэм ущыгушхуэу.
Куэдрэ псоми тхьэм
утхуигъэпсэу.
Фадафэ.
(Балъкъыз Ф.Х.)
«Фадафэ исыр зи
унагъуэ,
Хьэдагъэ
иремык1уэ»,- жа1э
Фадафэ исыр зи
унагъуэ
И гъащ1эр ехь езым
хьэдагъэу.
Емык1у, ук1ытэ
имыщ1эжу
Хъуэн псалъэ и
жьэм къыжьэдок1
«Сыхуэзэу хэт
сригъэфэну?»-
Жыхуи1эу и щхьэр
кърехьэк1.
Фадафэ ису уи
унагъуэм
Насып, жыхуа1э
къоуэл1энкъым
Фадафэ ису уи
унагъуэм
Зы гупи уэ
уахэгъуэщэнкъым.
Утыншу гъащ1эр
епхьэк1ынуми
Фадафэм псори
екъутэжыр
Гугъап1э дахэ
уи1эу щытми
Узэры1уплъэу
мэк1уэдыжыр.
Щхьэгъуси, быни
ф1эмы1уэхуу
Трехыр напэр ц1ыху
фадафэм
Зэхихыу хъуари пэж
къыф1эщ1у
Къе1этыр и 1эр
ц1ыху фадафэм.
Иныкъуи, изи
имыщ1эжу
Ц1ыху блэк1ыу
хъуам ауан ар ящ1ыр.
Анэ быдзышэм
хуэдэу фадэр
Иреф фадафэм
зимыщ1эжу.
Фадафэм хэт
пэшэгъу зыхуищ!ми
Гугъап1эу и1эр
лъэлъэжынщ
Фадафэм хэт
ныбжьэгъу къыхуэхъуми
Дунейм зэиншэу
къытенэнщ.
Сыныволъэ1у ди
щ1алэгъуалэм
Фадэбжьэм
зыдевмыгъэхьэх
Фадэмыплъей мы
ц1ыху фадафэм
Вжызо1эр ину фэ,
зэхэфх!
«Дунейр чэзущ»
(Балъкъыз Ф.Х.)
Дунейм къытохьэ
ц1ыхур пабгъэу
Имыщ1эу гъащ1эр
зэрыхъун
Е1этри и щхьэр
зэми лъагэу
Къыф1ощ1ыр куэд
хузэф1эк1ын
Ц1ыху гъащ1эр сыту
гуэщ!эгъуншэ!
Нэф1ней зэрихьэу
пф1ощ1ыр щыт
Мылъку зи1эм
адрейр йофыгъуэр пщ1эншэу
Апхуэдэу ар щхьэ
зэхущыт?
Жэгъуэгъур дэнк1и
куэд щыхъуащи
Зы псэ тыншыгъуи
умыгъуэт
Ц1ыху гъащ1эр
къапщ1эу мащ1э хъуащи
Ук1эщ1эмыхьэу
ныблолъэт.
Гугъущ зэманыр,
хъуащи псэугъуей
Ц1ыхуми ягур мыхъу
нэхъ щабэ
Нэм илъагъур псэм
тегъэхуэгъуейщ
Зызыщ1эж щы1амэ
хъунт ди гуапэ
Нэмысыр, хабзэр
тф1эк1уэдащи
Ди щ1эблэр мэхъур
сф1эпсэк1уэд
Ди адыгагъэр
тщыгъупщащи
Лъэпкъ мащ1э
т1эк1ур сщохъу дык1уэд
Жыф1э, хэт дэ
дгъэкъуэншэнур
Мыхъумыщ1агъэу
щы1эм щхьа?
Ди лъэпкъ мащ1эр
зэиншафэу
Хэт мыпхуэдэу
къигъэна?
Зоныкъуэкъухэр
зэгъунэгъухэр
Шыпхъуи, къуэши
зозэуэж
Хэти фадэр я
ныбжьэгъухэу
Йофэр, я ц1эр
ямыщ1эж.
Сабий ц1ык1ухэр
гущ1эгъуншэу
Итщ губгъуэшхуэм
икъухьау
Гъэсэныгъэ лъэпкъ
ямыщ1эу
Уолъагъу дэнк1и
зэкъуэхуау
Емыда1уэу быныр
анэм
Зэрегуак1уэу мэхъу
щ1ык1эншэ
Егъэджак1уэм телъ
бэлыхьми
Я лэжьыгъэр ещ1ыр
пщ1эншэ.
Дывгъэхъумэ ди
щ1ыналъэр
Лей ирахыу
хуэдмыдэн
Мыхъумыщ1агъэм дытевгъак1уэ
Дызэкъуэту сф1ощ1
тлъэк1ын.
Дощ1э, мы дунейр
зэрычэзур
Зэ плъэгъуар
щомылъэгъужым хуэдэщ.
Щ1эпхъэджагъэм
едвгъэхьэл1э ди къарур
Фегупсыс, зэманыр
1уэху хэплъэгъуэщ!
Усэ –
псалъэжьхэр. (Балъкъыз Ф.Х.)
«Гъащ1э! Сыту уэ
умащ1э!»-
Жып1эу, къэбгъэщ1ам
ухуоплъэк1ыж
Лъэужьыф1у уэ
къызэбнэк1ари
Пщ1ыхьым хуэдэу
нэгуми щ1ок1ыж.
Уи нэмысырщ, уи
насыпыр
Ар псалъэжьурэ
йок1уэк1.
Тыншу гъащ1эр
епхьэк1ынумэ
Псоми уэ
задегъэк1уэк1.
Ц1ыхуит1 псалъэм
уахэмыхьэ
Уи т1ысып1эр
зэгъэщ1эж
Нэхъыжь щыту
умыпсалъэ
Уэ уи псалъэм
уемыпц1ыж
Уи нэхъыжьыр уэ
бгъэлъап1эмэ
Уищхьэ лъап1э
игъуэтынщ
Гур здэмыплъэм
нэри плъэркъым
Жа1эу куэдрэ
зэхэпхынщ.
Уи япэ иту мывэ
бгъажэмэ
Абы псынщ1у
у1уоуэж
Ущыуауэ пц1ы
бупсамэ
Занщ1эуи
ухущ1огъуэж.
«Сэ псом нэхърэ сынэхъыф1щ!»-
Жып1эу уищхьэр
умы1эт
Ныбжьэгъу пэжхэм
дек1уэк1ыф
Я нэмысыр
дэ1ыгъыф.
«Жьым уэ щытхъуи,
щ1эр къыхэх!»-
Жа1эу куэдрэ
зэхэпхынщ
Уигум жи1эм уэ
щ1эдэ1уи
Лей зы ц1ыхум
къыуимыхын.
Адэ-анэм я нэмысыр
Быным дежк1э
нэрылъагъущ
Уэ уи жагъуэ хэти
ищ1ми
Къомыгъанэу ф1ыуэ
лъагъу.
Нобэ псори сэ
вжес1ахэр
Жьыми, псыми
евмыгъэхь
Сыволъэ1у
фыщ1емыгъуэжу
Нэмыс псоми
зэхэвгъэлъ!
Хъуэхъу
Ди нэмысыр, хабзэ
дахэр
Тщымыгъупщэу
дрепсэу!
Лъагъуныгъэр,
пэжыныгъэр
Дияку дэмык1ыу
дрепсэу!
Ф1ы зигу илъыр
дгъэныбжьэгъуу
Дигум илъыр
зыжет1эфу
Ди нэхъыжьхэр
къытщхьэщыту.
Сытым щыгъуи яужь
дитхэу
Пэж жызы1эм
дедэ1уэфу
Пц1ы зыупсыр
дгъэдэ1уэфу
Адэ-анэр
дгъэпэжыфу
Я нэмысыр
т1ыгъыжыфу
Куэдрэ тхьэм
дыздигъэпсэу!
Адэ(Балъкъыз Ф.Х.)
Си адэ! Гугъу уехьащ
уэ псом хуэмыдэу
Сабиигъуэ дахи уэ
умылъэгъуа
Щхьэгъусэншэуи уи
анэжь закъуэри
Быным фтеубгъуау и
гъащ1эр к1уащ
Мащ1эт
фызэрыхъурыр анэкъилъхухэр
Анэм и гугъуехьыр
зэхэпщ1ык1т
Зэман гугъум
упэщ1эуващи
Адэ папщ1эу псоми
уащхьэщытт
Уи анэм гузэвэгъуэ
къылъысами
Игур уэ плъэк1ыху
хомыгъэщ1а
Зэгуры1уэр фи
зэхуаку дэмык1ыу
Зэман хьэлъэр
хуэмурэ блэк1ащ.
П1эщхьагъ тынш
къохъул1э, си адэ.
Гугъу узэрехьари
пщогъупщэж.
Зэуи насып куум
зыкъыбдегъазэри
Гъащ1э дахэми
щ1эращ1эу ныпещэж.
Уи къуэрылъхуи, уи
пхъурылъхуи
Узыпащ1 дунейм
темытт.
Лъэпкъи, благъи,
ди 1ыхьлыи
Пхуэдэ дыди
яхэмытт.
«Уи нэм хуэдэщ
анэр»-жа1э
Хуэдэщ жа1э адэр
дэм.
Хэт сыт хуейми
жырыре1э
Адэ щы1экъым
пхуэдэн.
Школыр
къэзыуххэм ятеухуа. (Балъкъыз Ф.Х.)
Илъэс пщык1узк1э
школым фыщеджащи
Узэплъэк1ыжмэ,
сыту к1эщ1 мы гъащ1эр!
Иджы мис псоми
сыф1уплъащи
Гуф1эгъуэу сигум
жи1эр фэрк1э мащ1эщ.
Зы анэ тету
хъункъым мы дунейм
«Си бын ф1ы
хъуарэт1»- жызымы1э
Зы егъэджак1уи
щы1э хъункъым
«Ф1ы хъуарэт
щ1эблэр1»-щыжамы1э
Фэ фи школ гъащ1эр
и к1эм нэвгъэсащ
Гугъуехь куэдхэм
фэ фрихьэл1энущ
1ейуи, ф1ыуи
дэрк1э зэхэфхар
Псори фи гум
куэдрэ къинэжынущ
Фи нэ ц1ык1ухэр
нэгум зэи щ1эк1ыжкъым
Фи щытык1эр псори
дигум илъщ.
Балигъ фыхъуауэ
къыфщыхъужми
Иджыри дэрк1э
фысабийщ.
Мы махуэр фэрк1э
гуф1эгъуэшхуэщ.
Гъуэгуанэ к1ыхь фэ
фытехьэнщ.
Сыхуейщ лъэбакъуэу
гъащ1эм фчынур
Гуф1эгъуэ защ1эу
ефхьэк1ын.
Зэрызагъэпсэху
(физкультминутка)
1) Ди1эщ дэ джэду
Лъапэху
Мы дунейм темыт
ф1э1уэху
Щабэрык1уэу
къеущыхь
Дыхидзащ абы
бэлыхь
Нэр щ1иукъуанц1эу
къыдоплъей
Лъапэ ц1ык1ухэр
егъэт1ей.
Зиущэхуауэ
зегъэхуабэ
Ди хьэ маск1эри
хуобамп1э.
2)Сэ сыхъуащ иджы
инышхуэ
Жыжьэу лъагэу
зызо1эт
Зызошэщ1 аргуэру
лъагэу
Ауэ лъакъуэм
симы1эт.
Си 1э ц1ык1ухэр
щ1ызоупск1э
Лъапэ ц1ык1ухэм
загъэсыс
«Хэт ищ1энт
апхуэдэу псынщ1эу
Ин сыхъуну?-
согупсыс.
3)Дыгъэ къуэпсыр
нэгум щ1едзэ.
Щабэу напэм
толъэщ1ыхь.
Джэгу зэпеуэм
къыщ1ыдодзэ
Зы, т1у, щы, пл1ы,
тху, хы, блы.
Им 1эгу ину дрегъауэ
Бгъум ди лъакъуэм
къыщежыхь.
Ди щхьэр пщ1ым
егъэуназэ
Щэхуу псоми
зыдодзых.
Адыгэ
зэхэтык1э.
Сыадыгэщ, жыс1эу
ину, лъагэу си щхьэр къызо1эт.
Ди лъэпкъ мащ1эм
дригушхуэу, дрипагэу дыщывгъэт.
Нэхъыжьыф1хэм я
1ущагъым, щ1алэгъуалэр худоплъей.
Адыгагъэм и
дахагъым, ирогушхуэ Къэбэрдейр.
Бжьыхьэ мазэм и
фок1адэм, махуэ лъап1эр къытхэхъуащ.
Сытым щыгъуи ди
хьэщ1эщыр, псомк1и гуапэу зэ1ухащ.
Бзэрэбзэжу пшынэ
ф1ыц1эр, мес пшынауэм къытхуреш.
Щауэ щ1алэм пщащэ
ек1ур, къафэ дахэк1э къыдеш.
Сытым щыгъуи берычэту,
ди 1энэгур зэ1утхынщ.
Шхыныгъуэф1хэу
ди1эу хъуахэм, я 1эф1агъым федгъэплъынщ.
Лъэпкъ гъунэгъухэр
къыдэхъуапсэу, ди1эщ дэ зэхэтык1эф1.
Гъагъэу, багъуэу
ди лъэпкъ уардэр,ирехъу псом нэхърэ нэхъыф1.
«Нэгэгъум и
хъыбар»( (Балъкъыз Ф.Х.)
Феплъ,феда1уэ,зывгъэпсэху.
Ди зэпеуэр
ек1уэк1ыху.
Хабзэ дахэр, ди
нэмысыр
Адыгагъэр сыт
зищ1ысыр?
Псори дигу
къэдгъэк1ыжынщ
Нэгэгъу ц1ык1ум
и хъыбарри
Ныфхуэт1уэтэжынщ.
Гуащэм
Иджы нысэ, сигур
ныкъуэщ
Укъыдонэр уэ уи
закъуэ
Дыщ пщ1энт1эжьыр
сигу къэк1ащи
Сык1уэжынщи
сахэплъэнщ.
Лэгъумп1 1эмп1эр
къыпхуэнащи
1эф1у, ек1уу
упщэф1энщ.
Автор
И гъуэгуанэр
хигъэщ1ыну
Гуащэр псынщ1эу
къыдэк1ащ
Хьэблэ щ1алэр
гъунэгъу нысэм
Дэгушы1эу жра1ащ:
Щ1алэм1
«Уи гуэщэжьыр
ф1ыуэ плъагъумэ
Уэ тхуэпщ1ынщ
щхьэмыгъэуз.
Ек1урэ ещхьу
упщ1эф1эфмэ
Мис къищ1энщ ди
Наурыз.»
Щ1алэ2
Дегъэблагъэ,
дыгъэхьэщ1э
Уи 1эщ1агъэр
зэдгъэщ1энщ
Дигу ирихьмэ уи
щхьэгъусэм
«Нэрыбгэф1
къишащ»,- жет1энщ
Автор
Нысэм сыт ищ1энт,
арыххэу
Хьэблэ щ1алэр
къеблэгъащ.
И щхьэгъусэр
яхуэгушхуэу
Сэлам гуапи
ярихащ.
Мащ1э дыдэт абы
лъэк1ри
Зы джэдыжьи
яхуеук1.
Тебэм илъу
яхуепщэф1ри.
Бгъэдегъувэри
къы1уок1.
Щ1алэм
Уей,1эф1 дыдэу уи
щхьэгъусэм
Дэ джэд лыбжьэр
дигъэшхам
Тебэм илъыр
зэрыщыту
Къэдмыгъанэу
дунэщ1ам.
Джэд нэгэгъурщ
къэнэжари
Мыр къызэфти сэ
сывгъэшх.
Мы нэгэгъур,ди
тхьэу лъап1э!
Хъуреябзэу тебэм
илъщ.
Автор
Яшхар 1эф1у
щыгъупщахэу
Я 1ур занщ1эу дыдж
къэхъуащ.
Хъуреябзэу
нэгэгъужьми
Ягур !ей
яхуищ1ыжащ.
Зыгъэтхъам и деж нэхъу-нэхъуу
Еплъэк1ыжу
щ1эк1ыжахэщ.
!энэр нысэм
щы1уихыжым.
Щ1эщхъу къэхъуар
гуры1уэжак1эщ.
Щымщ нысащ1эри,
щхьэлажьэщ
Къыщыщ1ам
иронэщхъей
Поплъэр гуащэр
къэсыжыхук1э
Къэк1уэж ф1эщ1у
худоплъей.
Пщыхьэщхьэпэм
ирихьэл1эу
Гуащэр пщ1ант1эм
къыдохьэж.
Къыщыщ1ар бзыщ1
лъэпкъ хэмылъуи
Псори занщ1эу
хуе1уэтэж.
Абдеж гуащэр
къэгубжьакъым.
Дэлъеякъым е
шхыдакъым.
Щ1алэ закъуэр
къриджащ
Чэнджэщ псалъи
жри1ащ.
Гуащэ
Ей,си щ1алэу си
псэм хуэдэ
Сэ сыхуейт а уи
ныбжьэгъухэу
Пщ1э нэмыс
къысхуэзыщ1ахэм
Зы джэд ц1ык1у яхуэзук1ыну.
Автор
Щ1алэ гупыр
зэхуешэсри
1энэм ек1уу
егъэт1ыс
Тебэм илъу и джэд
лыбжьэри
Нысэм псынщ1эу
къахуегъэс
Йоплъ нэгэгъум
къэк1уа гупыр
Аргуэрыжьу
зэрыпсэут
Ялъэгъуам иужьк1э
ахэр
Уэ абы
пхухэ1эбэнт?
Гуащэ
Мы джэд лыбжьэр
щхьэ фымышхрэ?
Хьэмэрэ фигу
иримыхьа?
Егугъупэу нысэ
ц1ык1ум
Сыту 1эф1у
фхуипщэф1а?
Щ1алэ
Мы нэгэгъур
зэ1ыхакъым
Мыр ик1и
гъэкъэбзакъым.
Дауэ мыр дэ
зэрытшхынур?
Дауи уигу мыбы
хуэк1уэну?
Гуащэм
Нысэ ц1ык1ур сэ
1эф1 дыдэу
Тхьэ пщэф1эк1э
езгъэсам
Мыпхуэдизу гугъу
вдехьами
И гур шхьэ фэ
хэвгъэщ1а?
Феплъыт псори мы
нэгэгъум?
Фэ мыпхуэдэ
фымышха
Нэгэгъу ц1ык1ур
ямыгуэшу
Тхьэ мыпхуэдэ
къэмыхъуа?
О дэ ди тхьэу,
тхьэшхуэ лъап1э!
Ерыскъым
делъэпэуащ
Мы нэгэгъум хуэдэу
1эф1у
Зым и дежи
щыдмышха?
Къытхуэгъэгъу ди
Анэ дыщэ
Емык1у т1эк1у дэ
къыттехуащ.
Икъук1э 1эф1у уи
нэрыбгэр
Уэ пщаф1эфу
ебгъэсащ.
Гуащэм
Фшхар хьэлэл
фхузощ1 щ1алэф1хэ!
Пщ1э нэмыс сэ
къысхуэф1щащ
Сытым щыгъуи мы
ди куэбжэр
Фэрк1э гуапэу
зэ1ухащ.
Щ1алэр
Фыхъу унагъуэр
бей,узыншэ
Хуит дыкъэфщ1мэ
дежьэжынщ.
Ф1ык1э псори
дызэхуэзэу
Зэныбжьэгъухэу
дыщытынщ.
Хуэарэзыщ и нысэр
гуащэм
Зэнэзэпсэу ар
здопсэу
Нэхъыжь 1ущыр
щ1эсщи унэм
Лей абы
щыземык1уэн.
НЭХЪЫЖЬ
ЗДЭЩЫ!ЭМ , НАСЫП ЩЫ!ЭЩ!
Дыгулыбгъуей
(уэрэд)
Псалъэр :
Балъкъыз Фаридэ.
Мэкъамэр: Абыкъуэ
Светэ.
Си къуажэ дахэу
Дыгулыбгъуей
Къуажэшхуэу
щы1эм уэ уралейщ
Уи теплъэр дахэщ,
уи жылэр бейщ
Псори къохъуапсэ
мы Къэбэрдейм.
Ежьу.
Дыгулыбгъуей,
Дыгулыбгъуей
Къуажэшхуэу
щы1эм уэ уралейщ
Си адэжь лъахэу
си къуажэ бей
Псори къохъуапсэ
мы Къэбэрдейм.
Си адэжь лъахэу
Дыгулыбгъуей
Сф1ощ1ыр нэхъ
дахэ темыт мы дунейм
Уи бгыщхьэр
лъагэщ , уи губгъуэр бейщ.
Къэк1уэнум
поплъэ псори пщэдей .
Си псэм
хуэзгъадэу Дыгулыбгъуей
Щы1экъым пхуэдэ
угъуэтыгъуейщ
Уи щ1эблэр
дахэщ,уи гуэныр бейщ
Зиузэщ1ыну
сохъуэхъу уи пщэдейм.
Мечта.
С детства я
всегда мечтала, быть хорошим педагогом.
Интересно как-то
стала, как готовятся к урокам.
Вот закончила я
школу, поступила в НПУ.
Проучилась там три
года, вы спросите почему?
Потому что я
хотела, воспитать, учить детей.
Непослушных,
конопатых и чумазых малышей.
Вот мечта
осуществилась, благодарна я судьбе.
И навек теперь
решилась, стать учителем вдвойне.
Быть учителем не
просто, это знаем, тяжкий труд.
Но одно я знаю
точно, силы зря не пропадут.
За детей всегда в
ответе, горы мы за них свернем.
Лучше их на белом
свете, мы, пожалуй, не найдем.
Для меня работа
в школе, это радость, это суть.
20 лет прошло тем
более, не жалею даже чуть.
Есть профессии
очень много — врач, монтер, шофер, строитель.
Благодатней всех
из этих, только звание-УЧИТЕЛЬ!
Лъагъуныгъэ
дахэ къэгъэзэж.(Балъкъыз Ф.Х.)
Закъуэныгъэм си
лъэр щ1игъэхуащ.
Уэрыншауэ махуэр
жэщ сф1эхъуащ.
Гурыф1ыгъуи
сымыщ1эж, гукъыдэжи симы1эж.
Сынолъэ1ури си псэ
къэгъэзэж.
Ежьу:
Узи1ами
узи1эжкъым.
Услъэгъуами
услъэгъужкъым.
Лъагъуныгъэм гъэр
сепгъэщ1ри
Си псэ закъуэр
уежьэжащ.
Нэ дахит1ым си
псэр ятхьэкъуащ.
Щхьэхуимыту дэ
зырыз дыхъуащ.
Къызыботри уэ
гухэщ1, лъагъуныгъэр щ1ы уи ф1эщ.
Дунеишхуэм теткъым
узыпэсщ1.
Гухэлъ дахэм
псэгъу дызэхуищ1ащ.
Ф1ыщэ 1ейурэ си
псэм уилъэгъуащ.
Щхьэ уи псалъэм
уепц1ыжа,уэ нэгъуэщ1к1э сыпхъуэжа.
Жэгъуэгъу псалъэм
дызэпигъэк1а.
Укъеплъэк1ыу
ухущ1егъуэжащ.
Сэр нэхъыф1
щымы1эу къызжеп1ащ.
Узмылъагъумэ
сыпхуозэш, сыныпэплъэу мэхъур жэщ.
Лъагъуныгъэ дахэ
къэгъэзэж.
Стихи о
маме.(Балкизова Ф. Х.)
Больше всех люблю
я маму.
Это знает вся
семья.
Остальных я тоже
очень
Но без мам никак нельзя.
Так легко с ней
засыпаю.
Мне желает сладких
снов.
Если утром
просыпаюсь
Завтрак уж давно
готов.
Кто так нежно
приласкает.
Всю свою отдаст
любовь.
На ночь сказки
прочитает.
Понимает с полу
слов.
Там где мама, есть
веселье
И задорный звонкий
смех.
Уж награда или
везенье
Ждет меня везде
успех.
Рада видеть ее
глазки.
И морщинки на
лице.
Чтоб слезинки
появились.
Лишь от радости в
душе.
Мама, милая,
родная.
Как же ты мне
дорога.
Ты мой воздух, мое
солнце.
Краше в мире нет
тебя.
Для меня ты смысл жизни.
Огонек моей души.
Я прошу тебя,
любимая.
Долго, счастливо
живи.
Насып лъэужь.
Бахъсэн епл1анэ
курыт еджап1эм
Щеджэ сабийхэр
дыкъеблэгъащ
Адыгэ хабзэм,
нэмысым щыщ 1ыхьэ
Фэдгъэлъэгъуну мис
дыкъэк1уащ.
«Нэмыс зи1эм-
насып и1эщ»
Ар адыгэм ди псалъэжьщ.
Фыкъеда1уэ
зэхэтлъхьами
Фигу ирихьмэ
къыджеф1эж.
Автор
Зы жылагъуэ гуэрым
ек1уу
Зэл1-зэфыз
здэпсэууэ дэст.
Я пщ1ант1эпск1и
къалэжьауэ
Мылъку хьэлэли
ябгъэдэлът.
Къуищ абыхэм
зэдап1ати
Жылэу хъуар
зэхъуапсэ защ1эт.
Я зэманыр къэсри
ахэм
Мис щхьэгъуси
кърагъашэ.
Л1ыжь- фызыжьым
унэлъапси
Зырызыххи хуаухуат
Зэкъуэшищри а зы
пщ1ант1эм
Дамыгъэк1ыу
къыданат.
К1уащ зэманыр
къэмыувы1эу
Къуэрылъху
ц1ык1ухэр къащ1эхъуащ.
Щ1алэ ц1ык1уи,
хъыджэбз ц1ык1уи
Ахэм куэду
ягъуэтащ.
(псори
къолъадэ,хэт мэпхъанк1э, хэт мэджэгу, хэти лэкъум, 1эф1ык1э яугуэш).
Фызыжь(гуащэ)
-Еплъыт, л1ыжь, мо
ди сабийхэм
Пщ1ант1э псор
яхуримыкъу,
Сахэплъэхук1и
сигур хэхъуэу
Си бын щыгъэм
сримыкъу.
Л1ыжь(тхьэмадэ)
-Уей, дыхъуауэ
жьыщхьэ махуэ
Къызолъытэм сэ
фызыжь.
Зэгуры1уэр дэлъщ ди
пщ1ант1и
Насыпыф1эу
зызобжыж.
Фызыжь(гуащэ)
-Тхьэ, пэж
дыдэм,л1ыжь, жып1ахэр
Насып куур ди
жьэгум дэлъщ.
Нысэ ц1ык1ухэр
зэгуры1уэу
Пщ1э, нэмыси якум
илъщ.
Пщ1ант1эм 1уэхуу
дэлъу хъуари
Псори ахэм
зэхуаугуэш.
Зым лэкъумыр
игъэжьами
1эф1у ар зэгъусэу
здашх.
Л1ыжь(тхьэмадэ)
-Уей, си къуищри
щхьэгъусэф1к1э
Сф1ощ1ыр икъук1э
ехъул1ам.
Я тхьэмади,
гуащэжь закъуи
Ф1ыуэ далъагъуу
къыщ1эк1ам.
Фызыжь(гуащэ)
-Сахуэарэзыщ, си
нысэ ц1ык1ухэм
Псалъэмакъ яку
къыдэмык1.
Зэролъагъу
зэшыпхъухэм хуэдэу
Махуэ псом
зэбгъэдэмык1.
Автор
Апхуэдэххэу илъэс
док1ри
Къохъур л1ыжьыр
шэшынар.
Зэгурымы1уэныгъэр
ахэм
Къыщ1ок1 унагъуэм
къахыхьау.
Я пщ1ант1эшхуэр
хуримыкъухэу
Зэщыхьэрей
сабийхэр хъуащ.
Бын нэхъыжьхэр я
нэхъыщ1эхэм
Ещхьэфауэу
къыщ1адзащ.
Сабийхэр(хъыджэбз
ц1ык1уит1)
1) -Мыр си гуащэщ,
къызэтыж.
-Мис пкъутащи
къэпшыныж.
2) -Мыр ууейкъым,
сэращ зейр.
-Сэ хуэздащ мы
щыгъ бостейр.
Щ1алэ ц1ык1ухэр.
1) -Дызэгъусэу
1эжьэ ц1ык1ук1э
Неуэ, джабэм
къэджыхьынщ.
Ди адэ-анэм
къедмыгъащ1эу
Дыдэк1ынщи
дыджэгунщ.
2) -К1уэ ухуеймэ
уэ уи закъуэ
Гъусэ сэ
сыпхуэмыхъун
Къысхуэнати есэп
закъуэр
Уэ плъэк1ащ
схуомыщ1ыжын.
Нысэ нэхъыжь.
-Щхьэ, мо гъуджэм
телъ щхьэ мажьэр
Умыупщ1эу уэ
къэпщта?
Дыху згъэпщк1уари
уэ къэбгъуэту
Бдыгъуу щхьэ уэ
зытепк1а?
Нысэ курыт.
-Сыт щхьа, сипхъум
и1ыгъ гуащэр
Уи пхъум уэри
ф1икъутащ.
Сабийр гъыуэ, ар
зэщыджэу
Мес щхьэгъусэм
илъэгъуащ.
Къуэш нэхъыжь
-Уей, къуэш, си
жагъуэ пщ1ам.
Бжес1а псалъэм
уедэ1уам.
Мо уэс т1эк1ур
тхъу бжес1ати
Уи тхьэк1уми
ибгъэхьам
Къуэш курыт.
Уэсыр стхъуну
сыдэсакъым.
Махуэ псоми
схущ1ыхьакъым.
Си щхьэгъусэр и
дыщ сшащ.
Си ныбжьэгъухэр
згъэхьэщ1ащ.
Л1ыжь
-Сыт, фызыжь,
1эмалу къытхуэна,
Щхьэ гуф1эгъуэм
дибгына?
Ди сабийхэр
здэджэгужкъым
Зэнысэгъухэр
зэзэгъыжъым.
Зэкъуэшищыр зэбий
хъуащ.
Хъуэн зэрадзу
къыщ1адзащ.
Фызыжь
— Тхьэ, л1ыжь,
икъук1э гупсысэгъуэ
Дэ т1ур нобэ
дыхэхуам.
Си бын т1эк1ухэу
сыщэгуф1эм
Бэлыхь лажьэр
къащыщ1ам.
Автор
Мис щ1ымахуэт мы
зэманыр
Уэс къесауэ нэху
къек1ащ.
Нэмэз т1эк1у
ищ1ыну л1ыжьыр
Пщэдджыжьыпэм
къыщ1эк1ащ.
Ар бжэщхьэ1ум
зэребакъуэу
Занщ1эуи къэу1эбжьащ.
Къыщ1ыхьэп1эм
щегъэжьауэ
Лъэужь гуэр
пщ1ант1эм дэк1ащ.
Л1ыжь
-Къызэщ1эхъаемэ мы
ц1ыхухэр
Лъэужьыр занщ1эу
хэгъуэщэнщ.
Сык1уэнщи лъагъуэм
яужь ситу
Здынэсыр псынщ1эу
къэсхутэнщ.
Автор
Лъэужьым тету
к1уэурэ л1ыжьыр
Мэз гуэрым хохьэ,
къоувы1э,
Зеплъыхьыр
лъагъуэр дэнк1и к1уэми
Къуэ дыджым
занщ1эу ирехул1э.
Щхьэщохьэ бжьэпэм
л1ыжьыр занщ1эу
Еут1ыпщ и макъри
ину маджэ.
Л1ыжь
-Ей, хэт дэс
къуэм?
Насып
-Сэращ.
Л1ыжь
-Уэ ухэт?
Насып
-Сыхэтми
плъэгъунщ, къеблагъэ!
Л1ыжь
-Хьэуэ, сынеблэгъэнукъым.
Насып
-Ат1э сыт
укъыщ1эк1уар?
Л1ыжь
-Ди пщ1ант1эм
дэк1т зы лъэужь гуэри
Зызейр къэсщ1эну
сыкъежьащ.
Насып
-Ат1э, сэращ ар зи
лъэужьыр
Сыщыщу фи
унагъуэми щытащ.
Насыпк1и
фыкъызэджэуи фи1ащ.
Иджы тхьэм игури
зэвгъэбгъащ.
Си жагъуэ фщ1ыри сыфхэк1ащ.
Зэвгъэпэщауэ фи1эт
мылък1уи
Ф1ихыну тхьэм
ищ1ащ унафэ
Ауэ пхуэсщ1эфынур
сэ зызакъуэщ:
Гъэзэж унагъуэми
къысхуэщ1э-
Лъэ1у зэрызыхэ
яхуэсщ1энщ.
Щхьэж и лъэ1уми
седэ1уэнщ.
Л1ыжь
-Ат1э, уи псалъэр
уэ гъэпэж.
Къысхуэ1уи тхьэ сэ
сегъэжьэж.
Насып
-Тхьэ со1уэ,
псалъэр згъэпэжыну
Си псалъэми
семыпц1ыжыну.
Автор
Нэщхъейуэ л1ыжьым
къегъэзэжыр
Гузавэу пщ1ант1эм
къыдохьэжыр
Гупсысэу т1эк1ури
щытащ.
Щхьэгъусэм еплъри
жри1ащ:
Л1ыжь
Жьыщхьэ мыгъуэ мис
дыхъуащ
Хъыбар 1еи
къыпхуэсхьащ
Къеджэ псоми
зэхуэшэс
Псынщ1э дыдэу
фызэхуэс
Къытхуигъэзащ
насыпым дэ и щ1ыб
Дищ1ащ ди
тхьэшхуэми 1эщ1ыб
Къэзгъуэтщ насыпми
сепсэлъащ
Фи лъэ1у фхуищ1эну
къызжи1ащ.
Иджы щхьэж жыф1э
фызыхуейр
Хъыбар схьыжынущи
пщэдей
Къуэ нэхъыжь
-Выгу зыщ1эщ1а
си1амэ здэнут
Хадэшхуэм
сыщрилэжьэнут
Къуэ ет1уанэ
— Сэ шы уанэ
зытелъым сэхъуапсэ
Абы нэхъ си1экъым
хъуэпсап1э
Къуэ ещанэ
-1эщэ-фащэ дэгъуэ
си1эмэ
зыри
къыспэмылъэщынт
Зы дыгъуак1уи, зы
хъунщ1ак1уи
Мышынэу лъапсэм
къимыхьэнт
Нысэ нэхъыжь
-Ди1эу гъавэ куэд
ди1амэ
Ди ныбэм изу дыпсэунт
Ди гъунэгъужьхэр
къыдэхъуапсэу
Я нэр
иредгъэщ1ыжынт.
Нысэ курыт
-Къатит1 зэтету зы
унэшхуэ
Си1амэ дауи
сыгуф1энт
Щ1эмылъ щымы1эу
унэлъащ1эм
Ахьеи сэ
зызгъэщ1эгъуэнт.
Л1ыжь
Жыф1ахэм псоми
седэ1уащ
Ик1и сигу изубыдащ
Зи псалъэ, зи
чэнджэщ сымыщ1эр
Ар си нысэ ц1ык1у
нэхъыщ1эрщ.
Фызыжь
-Нысэгъу нэхъыщ1эм
и чэнджэщым
Еда1уи уэ хъыбар
къэхьыж
Сыт къыбжи1эми
умыбзыщ1у
Къэк1уэжи занщ1эу
къыдже1эж
Нысэ нэхъыщ1э
-Нысэгъу нэхъыщ1эм
мыращ жи1ар
Мылъкур т1ихыжыну
ди тхьэм иухамэ
Дауи зыри дэ абы
тхуемыщ1эжын
Узыншагъэ быдэр
ди1эу щытмэ
Нъэхъыф1 дунейм
темыту къыщ1эк1ыным.
Мылъкур дэ
къэдгъуэтыжынщ
Узэгъусэм сомри
къэблэжьынщ
Ди хьэтыр зы
лъэ1ук1э илъэгъунумэ
Сыхуейт нэмыс
унагъуэм къринэн.
Дызэгуры1уэрэ
дызэдэ1уэжу
Унагъуэр дэ
дыздэпсэун.
Автор
Нысэ нэхъыщ1эм и
чэнджэщ псалъэм
Гуащэ-тхьэмадэр
ныщ1эдэ1уащ
Ягу бэмп1ари
зэрыгъуэтыжри
Зэдэарэзы псори
здэхъуащ.
Нэху щыри
къулъшыкъу ц1ык1у мэзым
Л1ыжьыр хуэп1ащ1эу
нэсащ
Къуэ дыдж щыхуп1эм
къэуври
Унагъуэ насыпым
еджащ.
Л1ыжь
-Ей, насып,
1уэху
зэф1эзгъэк1ри къэзгъэзэжащ.
Лъэ1у зэхэсхари
къыпхуэсхьыжащ.
Насып
-Сыт фи унафэ?
Л1ыжь
-Нысэ нэхъыщ1эм и
чэнджэщ псалъэм тедубыдащ.
Унагъуэм нэмыс
ибгъэлъыну ар хуейуэ лъэ1уащ.
Насып
-Фи нысэр 1ущу
къыщ1эк1ащ
Зыхуейр унагъуэри
сэращ
Унафэр тхьэм гунэс
щыхъуащ.
Мис арэзы сэри
сыфщ1ащ.
Мылъку фи1ари
вгъуэтыжынщ
Фи жьэгу пащхьи
сихьэжынщ
Нэмыссыт щыгъуи фи
якум дэлъмэ
Насып унагъуэми
илъынщ.
Автор
Л1ыжьым игу
хэхъуауэ
И лъэр жани хъуауэ
Унэм къэк1уэжащ
Гуф1эу дыхьэжащ
Сабий ц1ык1ухэр
зэдоджгухэр
Нысэ ц1ык1ухэр
зэролъагъухэр
Зэкъуэшищыр
зэхуэгуф1эу
Пщ1ант1э хуитым
щыболъагъухэр
Я адэшхуэр
зэралъагъухэу
Гуф1эу псори
жьэхолъадэ.
Сабийхэм
-Дадэ, дадэ! Дэнэ
ущы1а?
-Сыту 1ейуэ уэ
дыпхуэзэша?
Л1ыжь
-Сэ си псэ
т1эк1ухэ, гугъу сехьащ.
Ауэ, насып
унагъуэм къихьэжащ.
Ц1ыху насып.(Балъкъыз
Ф.Х.)
Насып жыхуа1эр сыт
зищ1ысыр?
Гум нэсу хэт жэуап
итын?
Дунейм ц1ыху тету
хъуам а псалъэр
Къащохъур пэжу
жа1эфын.
Насыпщ, дыгъэпсым
уигъэхуабэу
Пщэдджыжьк1э
гуапэу къыпхуепсын.
Насыпщ, дунейр
мамыру щыту
Гукъеуэ зэи
умылъэгъун.
Насыпщ, угуф1эу
нэр зэтепхыу
Уи быным гуапэу
у1ущ1эн.
Насыпщ, гугъу
уехьми пхузэф1эк1ыу
Уахуэхъумэ псоми
щ1эгъэкъуэн.
Насыпщ, дунейм
щхъуант1агъэу тетыр
Уи гъусэу гъатхэм
нытехьэн.
Насыпщ,
губгъуэшхуэм жьыбгъэ итыр
Уи пщ1ант1эм
хуабэу щыдэпщэн.
Насыпщ, нэхъыжьхэр
зыщхьэщыту
Гъуэгу захуэм пэжу
ирик1уэфым.
Насыпщ, зэкъуэшхэр
зэрылъагъуу
Зэкъуэту гъащ1эм
дек1уэк1ыфым.
Насыпщ, узыншэу
нэху укъек1ым.
Насыпщ, уи гъащ1эр
тыншу пхьым.
Насыпщ, нэмыс
къыпхуащ1ым блэк1ым.
Насыпщ, унагъуэр
тэмэм хъум.
Гъащ1э гъуэгу.
(1 1ыхьэ.)
Автор
Зы унагъуэ гуэрым
ек1уу
Зэл1-зэфыз
здэпсэууэ дэст.
Лажьэу, шхэжу
зэгуры1уэу
Зэдэ1уэжу
зэбгъэдэст.
Псалъэмакъ яку
къыдэмык1ыу
Я сабийхэр
зэщ1ап1ащ.
Балигъып1эм
зэриувэу
П1эщхьагъ тынши
ягъуэтащ.
Къуэ нэхъыщ1эт
къэнэжари
Л1ыжь-фызыжьыр мэгупсысэ
Мурадыф1хэр
хузэпащэу
Къыхуашащ адыгэ
нысэ.
Щ1алэ1
Унэишэр къыдэтхащи
Еуэ, маржэ,
фызэхуэс.
Нысэ ц1ык1ур
гъуэгу тетшащи
Уэредадэр тщыф1щ
гунэс.
(Кул А и уэрэд
«Адыгэ нысэ» ирашэ. Хьэжыгъафэ къофэ хъыджэбз и гъусэу) .
Щ1алэ2
Нанэ 1ущу,
дахэк1ей.
Къыпхуэтшащ нысэм
я лей.
Дынолъэ1у къепхъых
тхуэпщ1ыну
Зы хъуэхъу ек1у
зэхэдбгъэхыну.
Нанэ и хъуэхъу.
Нэрыбгэ ц1ык1уу
нобэ къытхыхьар.
Хъерыгъэ пылъу,
угъурлыгъэ пылъу, джанэк1э ухъуу, щауэ хъурыфэу, къилъхур иузэду, идар
мыт1эп1у, 1упэм епщ1рэ щ1ыфэм ек1уу, мэлым хуэдэу 1ущащэу, щынэм хуэдэу
1ущабэу, маф1эм хуэдэу 1ухуабэу, хьэф1ым хуэдэу 1умахуэу, шыф1ым хуэдэу
ц1эры1уэу, къуалэбзуубзэу,убзэрэбзэжу,акъыл и1эрэ шынэ ук1ытэ ищ1эу, хабзэ
бзыпхъэр ищ1эу, пщ1э нэмыс хэлъу,жыхапхъэр зэрилъафэу, унафэр иримыхыу,
лъэдакъэ махуэ къыщинауэ, лъапэ махуэ къытхуихьауэ тхьэм къыщ1игъэк1.
Щ1алэ1
-Хъуэхъу жып1амк1э
дыарэзыщ
Дыкъэпщ1мэ хуит дэ
дежьэжынщ.
(Уэредадэк1э
ирашыж).
Гущэхэпхэ
(2 1ыхьэ)
К1уащ зэманыр
къэмыувы1эу
Къуэрылъху
ц1ык1ухэр къащ1эхъуащ.
Хъыджэбз ц1ык1уи
щыгуф1ык1ыу
Мы унагъуэм
къахэхъуащ.
Нанэ
Икъук1э нобэ ди
гуф1эгъуэщ
Хъыджэбз дыгъэ
къытщ1эхъуащ.
Хьэбли, благъи зы
къэмынэу
Гущэхэпхэм
къек1уэл1ащ.
— Мо Жанусэ тэмакъ
к1ыхьщи
Сабийм и ц1эр
ф1едгъэщынщ.
Жанусэ
-Нт1э,псоми хуит
сыкъэфщ1мэ
Динэ ц1ык1у
сыхуейт ф1эсщын.
Нанэ
Гущэтепхэр
плъыдгъэсащи
Мис гущап1эр хуит
пхудощ1
Динэ ц1ык1ури
къэгуф1ащи
Уэщхь ар хъуну сэ
къысф1ощ1.
Гъунэгъу нанэ
Е лэныстэ, е гъущ1
к1апэ
Щ1эф1дз сабийм и
гущэ къуапэм
Зы нэ 1ей
къытемыхуэн
Бзаджэнаджи
къэмык1уэн.
Жанусэ
Уи щхьэ ц1ык1ур
захуэ дыдэу
Сщ1ынщи гущэм
утеспхэнщ.
Уи 1э ц1ык1ури,
лъакъуэ ц1ык1ури
Сегугъупэу
зэгуэслъхьэнщ.
Нанэ
Тхьэ долъэ1ур Динэ
гуащэм
Тынш гущап1эр уэ
пхуэхъуну.
Нобэ хъуэхъуу
пхужа1энури
Зы мычэму
къыплъысыну.
Хъуэхъу
-Сабий ц1ык1у нобэ
къытхэхъуар
Къарэкъэтинэу,
барэт1инагъуэу
Данагъуэ 1эпэу,
щхьэцыпэ дыкъуакъуэу
Шэнтым тесмэ
тхьэрыкъуэу
Аслъэн сокур и
щхьэцу, щхьэцыдзэ к1ыхьу
Хьэл-щэныф1эу,
ф1ыгъуэ нат1эу
Нанэ и нэу, дадэ и
псэу
Куэдрэ тхьэм
утхуигъэпсэу.
Нанэ
-Жей, си дахэ, си
псэ нэху
Уи 1эпкълъэпкъым
зегъэпсэху.
(Нэхущ Чэрим и
уэрэд «Жей си 1эф1,си дыгъэ»йок1ыжхэр).
Лъэтеувэ.
3 (1ыхьэ)
Автор
Зэманыр зэрык1уар
ямыщ1эу
Сабийр илъэсым
нэблэгъащ.
Л1ыжь-фызыжьыр
ныхуэп1ащ1эу
Лъэтеуви къыдахащ.
Нанэ
Динэ ц1ык1уу псэм щыдгъаф1эр
Зек1уэгъащ1эщи
догуф1э
Хуейуэ хъуар
зывмыгъэгувэу
Фыкъеблагъэ
лъэтеувэм.
Дадэ
Фыкъыщ1ыхьэ си
благъэф1хэр
Фыкъыдихьи
фет1ысэх
Мы хьэлыуэм
теухуауи
Псалъэ гуапи
зэхэдвгъэх.
Хъуэхъу
-Зытеувэр
зэщ1эпщ1ыпщ1эу
Дуней дахэм
дэщ1эращ1эу
Узыншагъэ быдэр
и1эу
Гъащ1эу и1эр гуф1э
защ1эу
Дэрэжэгъуэм зэи
щымыщ1эу
Зы гугъуехьи
зэхимыщ1эу
Нэхъыжьыф1хэр
къыщхьэщыту
Сытым щыгъуи яужь
иту
Гъащ1э гъуэгум и
лъэр быдэу
Теувауэ
къыщ1игъэк1.
Нанэ
Дыубгъуащи щащыху
бгъуф1эр
Мис хьэпшыпхэр
тедгуэшащ
Пшынэ, тхылъ, 1уданэ,
гуащэ
Ахъшэ е адыгэ фащэ
Динэ ц1ык1ури
хэдгъэдэнщ
Къыхихынури
зэдгъэщ1энщ.
Гъунэгъу нанэ
-Си нэху ц1ык1ур
дохутыр хъуну.
Е дэрбзэрыр
къыхихыну?
Гъунэгъу дадэ.
-Егъэджак1уэ
хъуамэ арат.
Е пшынауэм
дехъул1ат.
Анэшхуэ(и анэмк1э)
-Къыхихатэм фащэ
дахэр.
Къэфэнт утыкур
игъэдахэу.
Адэшхуэ(и анэмк1э)
-Ахъшэм Динэ
те1эбатэм.
Хуэмыныкъуэу зы
псэуатэм.
Дадэ(и адэмк1э)
-Тхылъ къищтам си
гуапэ хъунт.
Еджагъэшхуи
къыхэк1ынт.
Нанэ
Хъыджэбз гуащэр
теуващи
Хьэлыуэ 1энэр
хуэдубащ
Мыпхуэдиз и
инагъщ,
Мыпхуэдиз и
лъэгагъщ
Зек1уэ, зек1уэ си
псэ нэху
Уи лъэр быдэу
теувэху.
Дадэ
Мимэ, мимэ Динэ
ц1ык1у
Мимэ щ1ы си дыгъэ
ц1ык1у
Нанэ
Щ1ы теуви лъэбэдий
Псэм щыдгъаф1эу ди
сабий.
Нанэ
-Фащэ дахэр
къыхихащи
Динэ ц1ык1ум
зытхуегъаф1э
Дадэ
-Мы гуф1эгъуэм
щхьэк1э, маржэ
Лъэр ешыху
дыкъыздэвгъафэ.
(Сокъур Оля и
уэрэд «Быным и быныж зылъагъум» къыдэфэурэ йок1ыж).
Унагъуэ насып.
(4 1ыхьэ)
Автор
Насып мыухыр
мык1уэщ1у
Здэгуф1эу унагъуэр
мэпсэу.
Гукъыдэжыр ягум
щызщи
Хуримыкъухэ дуней
псор.
Л1ыжь-фызыжьым
насыпыф1эу
Гъащ1э гъуэгур
здрахьэк1т.
Зы гуф1эгъуэм зыр
къыпыту
1уэхуу хъуари
зэф1агъэк1т.
Фызыжь(гуащэ)
-Еплъыт, л1ыжь, мо
ди сабийхэм
Пщ1ант1э псор
яхуримыкъу,
Сахэплъэхук1и
сигур хэхъуэу
Си бын щыгъэм
сримыкъу.
Л1ыжь(тхьэмадэ)
-Уей, дыхъуауэ
жьыщхьэ махуэ
Къызолъытэм сэ
фызыжь.
Зэгуры1уэр дэлъщ
ди пщ1ант1и
Насыпыф1эу
зызобжыж.
Фызыжь(гуащэ)
-Тхьэ, пэж дыдэм,
л1ыжь, жып1ахэр
Насып куур ди
жьэгум дэлъщ.
Нысэ ц1ык1ухэр
зэгуры1уэу
Пщ1э, нэмыси якум
илъщ.
Пщ1ант1эм 1уэхуу
дэлъу хъуари
Псори ахэм
зэхуаугуэш.
Зым лэкъумыр
игъэжьами
1эф1у ар зэгъусэу
здашх.
Л1ыжь(тхьэмадэ)
-Уей, си къуищри
щхьэгъусэф1к1э
Сф1ощ1ыр икъук1э
ехъул1ам.
Я тхьэмади,
гуащэжь закъуи
Ф1ыуэ далъагъуу
къыщ1эк1ам.
Нысэ
Лэкъум хуабэ
т1эк1у згъэжьати
1эф1у фшхыну къыфхуэсхьащ
Зэрыфф1эф1ыр сщ1эт
гъэшхэк1и
Шатэ 1уви
дыщ1ызгъуащ.
Къуэ
Дадэ,т1эк1у
зыбгъэпсэхунум
П1эр тынш дыдэу
пхуэсщ1ыжынщ.
Къохьэлъэк1ым
с1ыгъыу 1эблэр
Пэшым нэс
ущ1эсшэжынщ.
Сабий(хъыджэбз
ц1ык1у)
Лъэпэд сщ1ыфу
себгъэсэну
Нанэ
сыкъэбгъэгугъащ.
Гуащэ ц1ык1ум
бостей дахи
Хуэдбгъэдыну
къызжеп1ащ.
нанэ
Щыжыс1ак1э си
к1урацэ
Лъэпэд щ1ык1и
уэзгъэщ1энщ
Тхьэ1ухуду гуащэ
ц1ык1уми
Бостей ек1уи
ныхуэддынщ.
Автор
Зэдэгуф1эу
зэл1-зэфызыр
Я лъэр хуэмурэ
щ1эхуащ.
Къэсщ я дежи
жьыгъэ узыр
Дунейм ахэр ехыжащ.
«Уи нэм
хуэдэщ анэр»-,жа1э
«Хуэдэщ
-,жа1э: адэр дэм»
Хэт сыт хуейми
жырыре1э
А т1ум щы1экъым
хуэдэн.
Сабийхэм
«Гъащ1э! Сыту уэ
умащ1э!»-
Жып1эу,
къэбгъэщ1ам ухуоплъэк1ыж
Лъэужьыф1у уэ
къызэбнэк1ари
Пщ1ыхьым хуэдэу
нэгуми щ1ок1ыж.
Уи нэмысырщ, уи насыпыр
Ар псалъэжьурэ
йок1уэк1.
Тыншу гъащ1эр
епхьэк1ынумэ
Псоми уэ
задегъэк1уэк1.
Ц1ыхуит1 псалъэм
уахэмыхьэ
Уи т1ысып1эр
зэгъэщ1эж
Нэхъыжь щыту
умыпсалъэ
Уэ уи псалъэм
уемыпц1ыж
Уи нэхъыжьыр уэ
бгъэлъап1эмэ
Уищхьэ лъап1э
игъуэтынщ
Гур здэмыплъэм
нэри плъэркъым
Жа1эу куэдрэ
зэхэпхынщ.
Уи япэ иту мывэ
бгъажэмэ
Абы псынщ1у
у1уоуэж
Ущыуауэ пц1ы
бупсамэ
Занщ1эуи
ухущ1огъуэж.
«Сэ псом нэхърэ
сынэхъыф1щ!»-
Жып1эу уищхьэр
умы1эт
Ныбжьэгъу пэжхэм
дек1уэк1ыф
Я нэмысыр
дэ1ыгъыф.
«Жьым уэ щытхъуи,
щ1эр къыхэх!»-
Жа1эу куэдрэ
зэхэпхынщ
Уигум жи1эм уэ
щ1эдэ1уи
Лей зы ц1ыхум
къыуимыхын.
Адэ-анэм я нэмысыр
Быным дежк1э
нэрылъагъущ
Уэ уи жагъуэ хэти
ищ1ми
Къомыгъанэу ф1ыуэ
лъагъу.
Дауи мы дунейр
зэрычэзур
Дощ1э псоми, шэч
хэмылъ
Хэпса жылэщ
бгъуэтыжынур
Тщымыгъупщэу дигу
ивгъэлъ.
Нэхъыжьыф1хэм я
1ущагъым
Щ1алэгъуалэр
худоплъей
Адыгагъэр
тф1эмык1уэду
Дывгъэхъумэжыф
къудей.
Нобэ псори
нывжет1ахэр
Жьыми, псыми
едвмыгъэхь
Хуэтщ1у пщ1э нэмыс
нэхъыжьхэм
Гъащ1э гъуэгур
зэдэдвгъэхь.
Псышэ гъуэгу.
Автор
Феплъ, феда1уэ,
зывгъэпсэху
Ди зэпеуэр
ек1уэк1ыху
Хабзэ дахэр, ди
нэмысыр
Адыгагъэр сыт
зищ1ысыр?
Ахэм дэ
федгъэдэ1уэнщ.
Хьэл-щэн дахэу
хэлъыр нысэм.
Дэ к1эщ1 дыдэу
къэт1уэтэнщ.
Гуащэ
Мыдэ къак1уэт,
Гуащэринэ
Къытпэщылъщ дэ
кууэ 1уэху
Нысэ ц1ык1уу
къытхыхьами
Псышэ гъуэгур
евгъэц1ыху.
Къеджэ модэ
Назирэти
Шэимэти
къыздывщ1ыгъу.
И нысэгъуи, и
пщыпхъу закъуи
Нысэщ1эщ1эм т1эк1у
фегугъу.
Пщыпхъу
Хъунщ, дгъэл1ап1эу
ди анэ дыщэ
Емык1у лъэпкъ
къодмыгъэхьын
Нысэ ц1ык1ум
псыхьэ гъуэгури
Тэмэм дыдэу
едгъэщ1эным.
Нысэгъу
Къащтэ мыдэ уи чы
матэр
Ц1ыхухъу джанэр сэ
ислъхьэнщ.
Нысэщ1эщ1эм и
1эщ1агъэм псоми гу ялъедгъэтэнщ.
Гуащэ
Мы 1эф1ык1эр
сэмбым ифлъхьи
Сабий гупым
ялъыфгъэс.
Феуджэк1ыу нэмыс
фхэлъу
Псышэ гъуэгум
фынэшэс.
Назирэт
Фызэхуэсыт, маржэ,
псынщ1эу
Нысэр пщ1ант1эм
къыдэк1ащ
Пэгунит1ыр,
пхъьъэхьыр занщ1эу
И дамащхьэм
трилъхьащ.
Гуащэ
Дичащ пщ1ант1эм
лъапэ махуэ
тхьэм узыншэу
къытхуихьыж
И гъуэгуанэр дахэу
хуиту
Тхьэм ди пщ1ант1эм
къыдихьэж.
Шэимэт
Псы къихьыным
хуэдэу къабзэу
И гур тхьэм
къытхущ1игъэк1.
Псы 1эф1 куэд
къыдихьэу пщ1ант1эм
И лъэр жану
къыщ1игъэк1.
Автор
Техьаш гъуэгум
нысэ ц1ык1ур
Нап1э ц1ык1ухэр
едзыхащ.
Зэхыхьащи хьэблэ
гупыр
Джэгур занщ1эу
яублащ.
Сабий гупыр
нысэщ1эщ1эм
Бгъэдолъадэ,
бгъэдэмык1
Зэщ1ащыпэр я
1эф1ык1эр
Къафэ гупым
яхуоплъэк1.
Къафэу джэгухэу
к1уэц1рык1хэу
Ц1ыхухъу гупхэм
я1ущ1ащ.
Я нэхъыжьым
зыхуагъазэри
Псалъэ гуапи
жра1ащ:
Пщыпхъу
Мыр ди нысэм ида
джанэщ.
Фэ ар тыгъэ
къыфхуищ1ащ.
Ф1ыгъуэ защ1эу
вгъэлэжьэну
Арэзы дэ
дытехъуащ.
Л1ыжь1
Джанэм джылъу
1улъым хуэдэу
Насып куу тхьэм
къубгъэдилъхьэ
Къипха мастэпэм
хуэдиз ф1ыгъуи
Унагъуэм куэду
тхьэм кърилъхьэ.
Л1ыжь2
Къызыхыхьа
лъэпкъым яхуэфащэу
Нэрыбгэр тхьэм
къыфхущ1игъэк1
Фи лъэпкъыр
багъуэу берычэтыр
Унагъуэм зэи
иремык1.
Назирэт
Ирехъу нысэгъу
нэхъыжьым хуэдэ
И пщ1э нэмыс
ире1ыгъыж
Пщыпхъу закъуэм,
гуащэм и тхьэмадэм
Яхуэпэжыфу щретыж.
Нт1э, хуит
дыкъэфщ1мэ дежьэжынщ.
1уэху къытпэщылъри
нэдгъэсынщ.
Автор
Сабийхэр гуф1эу,
нэжэгужэу
Я хьэпшып
ц1ык1ухэм щыгуф1ык1ыу
Нэсащ нэрыбгэр
псым гъунэгъуу
Псыр
ирегъахъуэ,ирек1утыж
Егъэув пэгуныр,
ныхуоплъэк1ыж.
Аргуэры мывэ хадзэ
и псым
Нысащ1эр щымщ,
зимыгъэхъей.
Сабийхэм гуф1эу
яхудоплъей
Зы щ1алэ ц1ык1у
ныбгъэдолъадэ
Аргуэру и псыр
ирек1ут.
Ирегъэхъуэж
аргуэру и псыр
Ф1едзэж дамащхьэм
пэгунит1ыр
Зэран хуэхъуну
ягугъат.
Абдеж Шэимэти гу
лъитат.
Шэимэт
Хъунщ, т1асэ.
Бэшэчу нысэр
къыщ1эк1ащ.
Абык1э псори арэзы
дыхъуащ.
Иджы ди гъуэгу
дытехьэжынщ.
Ди хъыбарыф1хэр
т1уэтэжынщ.
Назирэт
Уи нысэ ц1ык1ум и
1эщ1агъэф1ми
Гъунэгъуи, благъм
щыгуф1ык1ащ.
И щэныф1агък1и и
бэшэчагък1и
Фи лъэпкъыр
икъук1э ехъул1ащ.
Гуащэм
Гъунэгъуф1у си1эу
Назирэт
Шыпхъум хуэдэу
слъагъуу Шэимэт
Арэзы ныщхьэбэ
сыкъэфщ1ащ.
Икъук1э фэ
сывгъэпэжащ.
Гуащэм
И 1эпэм дыщэр
къыпыщэщу
Си нысэ ц1ык1ур
къыщ1эк1ащ.
Хьэщ1агъэт1эк1у
къывихмэ ф1эф1у.
Ипщэф1щ шхын 1эф1и
къыфхуихьащ.
Фемылъэпауэ,
зэ1увгъахуэ
Хъуэхъу псалъэ
псоми тыжеф1ыхь.
Гуф1эгъуэ куэдк1э
дызэхуэзэу
Ди гъащ1эм тхьэм
дыщигъэтыф.
Автор
Фигу хъыбарыр
ирихьамэ
Фэри т1эк1у
зывгъэпсэхуамэ
Добж ди 1уэху
къыдэхъул1ауэ
Арэзы фэри
фытщ1ауэ.
Адыгэ шхынхэр
Фыкъеблагъэ,
хьэщ1э лъап1эхэ!
Адыгэ шхын
зэ1увгъэхуэнщ.
Мы берычэту
къэт1этахэр
Зэращ1 фыхуеймэ
фэдгъэщ1энщ.
Мы ди 1энэгум илъ
хъугъуэф1ыгъуэу
Телъ ерыскъыу
дгъэхьэзырам.
Фыхэ1эбамэ хъунт
ди гуапэ
Ди нэхъыжьыф1хэу
къытхуэк1уам.
Мэрэмысэ, хугу
хьэнтхъупс
Псыхьэлывэ,
к1эрт1офшыпс
Сыт фыхуейми
фэдгъэшхынщ.
Я 1эф1агъэм
федгъэплъынщ.
П1астэ хуабэм
дзажэ пщтырыр
Телъу 1энэм
тедгъуващ.
Лы гъэвам
джэдлыбжьэр щ1ыгъуу
Мис фи пащхьэм
къидгъуващ.
Джэдык1э нэкъижыр
шхын щ1эщыгъуэщ.
Унагъуэм щ1эсхэм
тшхыну тф1эф1щ.
Тхьэмщ1ыгъуныбэр,
бжьыныху шыпсыр
Ерыскъым хэмыт
нэхъ 1эф1.
Лыгъур гъэжьам
адыгэ 1энэр
Берычэт сыт щыгъуи
ещ1
1эшры1ыр, кхъуей
дэлэныр
Сф1эф1щи нанэ
куэду схуещ1.
Гъэшхэк1 1эф1у
1эджэ щы1эщ
Къыхащ1ык1
кхъуейжьапхъэ 1эф1
Шху хъэнк1эл,
жэмыкуэ жып1эми
Ди шхыныгъуэр ящ1
нэхъ 1эф1.
Хэт джэш лыбжьэр
зыф1эмыф1ыр?
Мыр адыгэ
шхыныгъуэф1щ.
Хэт жэруми
зымыщ1ыфыр?
Фыщ1эупщ1и
зэвгъэщ1эф.
Тхъурыжь 1эф1ым
сытым щыгъуи
1энэр икъук1э
егъэдахэ
Мы хьэлыуэ дыубари
Фыкъэк1уати
зэ1увгъахуэ.
Лы ц1ык1у лыбжьэр
ди адыгэм
Зыпищ1 лъэпкъ
дунейм темыт
Тхьэмщ1ыгъуныбэр,
бжьыныху шыпсыр
Ерыскъым нэхъ 1эф1
хэмыт.
Мы чыржыныр
зэрысщ1ынур
Нанэ сэ сригъэсащ.
Лэкъум хуабэр
зэрагъажьэр
Сык1элъыплъурэ
къэсщ1ащ.
Зигур къабзэу дэ
къытхуэк1уэр
Гурэ псэк1э
догъэблагъэ
Ину псоми фэ
зэхэфхыу
Фыкъыдогъэблагъэ.
Хьэщ1э махуэу
къеблэгъахэм
Ди махъсымэр
зэ1увгъахуэ
Ди лъэпкъ дахэм
тхуэф1 тхуэхъуну
Нэхъыжьыф1хэр
фытхуэхъуахъуэ.
Гъащ1э
гущ1эгъуншэ.
Гъащ1эм ищ1экъым
гуэщ1эгъу.
Ухуэзышэр 1ейм
ныбжьэгъущ.
Хэти и щхьэм
йопэгэк1.
Хэти къуещ1эр
хузэф1эк1.
Ц1ыхум я щхьэр
кърахьэк1.
Занщ1эу ящ1ыр
зэлъытэк1.
Е лэжьыгъэ
умыгъуэт.
Газым щхьэр
къуимыгъэ1эт.
Уасэр токым
къыщ1игъуащ.
Псы дызэфэр лъап1э
хъуащ.
Тет1ысхьэп1эр ди
ц1ыхухъухэм
Гурыф1ыгъуэу
къахуэнащ.
Унэгуащэм сом
къилэжьым
Щыгуф1ык1хэу
къигъэнащ.
Сабий ахъшэр
къыхэпхынум.
Илъэсищк1э уежьэн
хуейщ.
Нэмысауэ къуатын
щхьэк1э
Банкым благъэ
щ1эсын хуейщ.
Зэ бэзэрым
утехьамэ
Сом бохъшалъэм
дэмылъыж.
Къэпщэхуам
ухуеплъэк1ыжмэ
Нэху къек1ам
умылъэгъуж.
Махуэ къэск1э
уасэм хохъуэр.
Ук1элъыжэм унэмыс.
Мазэхьэкъыр,
пенсэр пшхыну.
Адэ-модэм
къыплъымыс.
Зэгъунэгъухэр зы
щ1ы 1ыхьэ
Щхьэк1э лъыхэр
ягъэжэнщ.
Шыпхъуи, къуэши
мылъкум щхьэк1э.
Къуатхк1э-сытхк1э
зэзэуэнщ.
Бахъсэн куейри щыц1эры1уэу
Дэнэ щ1ып1и
къащапсэлъ.
Нэгъуэщ1 къали
удыхьами
Къамыгъанэу
щ1агъэлъэлъ.
Сыт апхуэдэу мы ди
лъахэр
Щ1ыхиутэр урысейм.
Сыт хащ1ык1рэ
гъащ1э дахэ
Ди лъэпкъ мащ1эр
зэрыхуейм.
Лэжьэн щхьэк1э я
унагъуэр
Хыф1адзауэ
губгъуэм итщ.
Къалэжьами 1эф1
щ1эмылъу.
Хуэгущ1ы1эу
зэхущытщ.
Депутатхэм зы
унафи
Яхуэмыщ1хэу
зозэуэж.
Кредит банкым
къе1ыпхами.
Мазэхьэкъ
пхуримыкъуж.
ЕГЭ жа1эри
щ1алэгъуалэр
Зэщымыщхъуу
къагъэнащ.
Дыгъуэгъуак1уэр,
ц1ыху зыук1ыр.
Нэхъыбэж к1уэ
пэтми хъуащ.
Мылъкуу зауэм
пэк1уэм щхьэк1э
Зэкъуэшит1
зэроук1ыж.
Е сабийуэ, е
балигъыуэ
Нэпс щ1агъэк1ым
емыплъыж.
Щ1эблэм псори ар
щалъагъук1э
Ягур сытым
хигъэхъуэн.
Пщ1э- нэмысыр
едгъэлъагъумэ.
Къомыда1уэу дэнэ
к1уэн.
Зэгуры1уэу-
зэдэ1уэжу.
Ди лъэпкъ дахэр
дыпсэуащ.
Л1ыф1щ зэманым дек1уэк1ыфыр.
Жэбагъы жи1ауэ
щытащ.
Си бзэ, си псэ,
си дуней!
Адыгэщ1ым сисщ сэ
сригушхуэу.
Бахъсэн лъахэу си
псэ, си дуней.
Насыпыф1эу сэ
сыкъызобжыжыр.
Сыщопсэу хэку
дыщэу Къэбэрдейм.
Хьэщ1э махуэ
тф1эф1щ дэ къытхуеблагъэм
Зэрытлъэк1к1э
пщ1э-нэмыс хуэтщ1ынщ.
Дывгъэхъумэ,
ц1ыхухэ, адыгэбзэр.
Бзэр тщыгъупщэм
дызэф1эк1уэдынщ.
Бахъсэн къалэ дэтщ
курыт еджап1э.
Ар епл1анэщ псоми
я нэхъ лейщ.
Ди еджак1уи дэ ди
егъэджак1уи
Адыгэпсэщ ди бзэр
и къулейщ.
Дэнэ щ1ып1и сэ
сыщымы1ами.
Къэзгъэк1ухь уи
гъусэу щ1ы хъурейр.
Щыбгъуэтынкъым
дэнк1и улъыхъуами.
Си бзэ дахэу, си
псэ, си дуней!
Уадыгэу уэ
зубжыжмэ.
Дыадыгэу жыт1эу
лъагэу
Пагэу ди щхьэр
къыдо1эт.
Дыадыгэщ, гуапэу
ц1ыхухэр
Зэрылъагъуу
дыщывгъэт.
Зы унагъуэм хуэдэу
псэууэ
Ди лъэпкъ мащ1эр
ек1уэк1ащ.
Ягухэр къабзэу,
зэхуэпэжхэу
Гъащ1э гъуэгу
къыздагъэщ1ащ.
Ауэ мис зэрыхъущ
ди жагъуи
Т1эк1у зэманым
зихъуэжащ.
Нэхъ щхьэхуещэхэр,
нэпсейхэр
Куэду тхьэшхуэм
къигъэщ1ащ.
Уадыгэу уэ
зубжыжмэ
Лъэпкъым и ф1ыр дэнк1и
гъэ1у.
Уадыгэр пэжу щытмэ
Чэнджэщ псалъэхэм
щ1эдэ1у:
«Уадыгэщ,
л1ыгъэ пхэлъу
Дунеишхуэм
утетыфым.
Уадыгэщ, жып1а
псалъэм
Упсэуху
уемыпц1ыжыфым.
Уадыгэщ, ц1ыху
сымаджэм
Хъущхъуэ уасэ
хуэпшиифым.
Уадыгэщ, лей
тхьэмыщк1эм
Къытемыхьэу
удэщ1ыфым.
Уадыгэщ, адэ-анэм
Пщ1э-нэмысыр
яхуэпщ1ыфым.
Уадыгэщ,щапхъэ
дахэ
Къыбдалъхуахэм
птрахыфым.
Уадыгэщ, уи
унагъуэр
Дахэ защ1эу
бгъэдэ1уэфым.
Уадыгэщ, фадэ
гуащ1эр
Быным щхьэк1э
хыф1эбдзэфым.
Уадыгэщ, гу
къабзагък1э
Уи ныбжьэгъу
убгъэдэтыфым.
Уадыгэщ, захуэ гъуэгум
Ц1ыху жэкъуар
тебгъэхьэжыфым.
Уадыгэщ, акъыл
пхэлъу
Къезбжэк1ахэр
бгъэзэщ1эфым.
Уадыгэщ, адыгагъэр
Пщымыгъупщэу
упсэуфым.
Егъэджак1уэр
ущияк1уэщ.
Гъащ1э гъуэгум и
къежьап1эр къыщыщ1идзэр гъэсэныгъэрщ.
Акъыл зи1эм и
хъуапсап1эр къыщыпищэр еджэныгъэрщ.
Гъэсэныгъэр шэч
хэмылъу ар унагъуэм деж къыщожьэ.
Еджэныгъэр псэр
итхьэкъуу егъэджак1уэм и пщэ дохуэ.
Гупсысэфу,
тхэфу,бжэфу, гугъущ еджак1уэм ебгъэщ1эн.
Пщ1э нэмысыр,
хабзэр ящ1эу, ф1ыщ гъуэгу дахэ тебгъэхьэн.
Зэрызыххэу сабий
къэск1э бгъэдыхьэк1эр зэхуэмыдэ.
Тэмакъ к1ыхьщи и
бзэр 1эф1щи зимыхъунщ1э е мышхыдэ.
Я нэ ц1ык1ухэм
ущ1эплъамэ губжьыр занщ1эу пщхьэщоуж.
Гуапэу зэ сэлам
къуахамэ къапщ1эу гум зегъэпсэхуж.
Егъэджак1уэм и
къалэныр -щ1эблэр гъуэгум тегъэхьэнырщ.
Хузэф1эк1ыр и
къаухьыр дахэу, щабэу бгъэдэлъхьэнырщ.
Еш жыхуа1э
имыщ1эххэу махуэ псом пэрытщ лэжьыгъэм.
И къарум
емыблэжыххэу зэф1ех и пщэм дэлъ 1уэхугъуэр.
Псалъэ жи1эу хъуар
купщ1аф1эщ, щытхъуу щы1эу хъуар хуэфащэщ.
Мэхъур ар анэ
пэлъытэ, сабий къэси хуещ1 гулъытэ.
Егъэджак1уэр
ущияк1уэщ, ар щ1эныгъэм и лэжьак1уэщ.
Зэм ухуак1уэщ, зэм
гъэсак1уэщ, шэч томыхьэу икъук1э жьак1уэщ.
Иреф1ак1уэ
егъэджак1уэр, зэхащ1ык1ыу и еджак1уэм.
Ф1ыщ1э лей, щ1ыхь
ин хуэфащэщ, мы 1эщ1агъэр зи гуращэм.
Анэм и хъыбар
Автор:
Зы унагъуэ гуэрым
ек1уу
Зэл1-зэфыз
здэпсэууэ дэст,
Лажьэу шхэжу
зэгуры1уэу
Зэдэ1уэжу
зэбгъэдэст.
Псалъэмакъ яку
къыдэмык1ыу
Я сабийхэр
зэщ1ап1ащ.
Балигъып1эм
нэмысауэ
Дунейм адэр
ехыжащ.
Гузэвэгъуэм фыз
тхьэмыщк1эр
Икъук1э куууэ
хигъэплъащ.
Сыт ищ1энт,
ны1уплъэщ бынми
И бгыр быдэу
щ1икъузащ.
Къуищ фызабэм
къыщ1энати
Еш жыхуа1э
имыщ1эжт
Бын зыхуей
хуимыгъэзауэ
Зы п1э к1уэц1
имыгъуэлъхьэжт.
3.Дисана и рашид
Анэ:
— Си псэ т1эк1ухэ,
сыт фыхуей,
Щхьэ мыпхуэдэу
фынэщхъей?
Мис 1эф1ык1э
къыфхуэсхьащ,
Пхъэщхьэмыщхьи
къэсщэхуащ.
Фэзгъэшхынщи ныбэм
изу
Тыншу 1эф1у
фыжеинщ.
Фи тхылъылъэм
сыдэплъэнщи
Зыхуэныкъуэри
къэсщ1энщ.
1 къуэ:
— Мамэ, си
гъуэншэджыр сыджэлати
Гъуанэу т1эк1у
къриудат,
Схуэбдыжатэмэ
ныщхьэбэ
Пщэдей школым
срик1уат.
Анэ:
— Пхуэздыжынкъэ,
си псэ закъуэ,
Нэху ныщхьэбэ
къемык1ын,
Щы1э хъункъым сыт
ирехъуи
Сэ фэр щхьэк1э
слъэмык1ын.
2 къуэ:
— Есэп нобэ
къыдатащи
Гугъущи, мамэ,
схуэмыщ1ыж.
Мы си къуэшым
селъэ1уащи,
Уей, абы
зыкъыф1ощ1ыж.
Анэ:
— Иджыпступц1э
сынэк1уэнщи,
Уи псэ т1эк1ур
згъэтыншынщ!
Есэп гугъуу
къыпщыхъуари
Псынщ1э дыдэу
къэтщ1ыжынщ.
3 къуэ:
— Мамэ, мамэ, сэ
1ей дыдэу
Си псэр пыхуу
сезэшащ.
Псысэ ц1ык1ум
сыдихьэхри
Нэсыху и к1эм
сеплъыжащ.
Анэ:
— Уезэшамэ нак1уэ,
т1ысэ,
П1эр тынш дыдэу
пхуэсщ1ыжынщ,
Уи1э ц1ык1ур дахэу
с1ыгъыу,
Пэшым нэс
ущ1эсшэжынщ.
Автор:
Фыз тхьэмыщк1эм и
сабийхэм
Теубгъуау зэманыр
к1уащ.
Балигъып1эм
зэриувэу
Псом щхьэгъуси
ягъуэтащ.
Насыпыф1эу
зыкъибжыжу
Гуащэм гъащ1эр
ирихьэк1т,
И къарум
емыблэжыххэу
1уэхуу хъуари
зэф1игъэк1т.
Анэ:
— Лэкъум хуабэ
фхуэзгъэжьащи
1эф1у фшхыну
къыфхуэсхьащ.
Нысэ ц1ык1ум
ф1эф1т хьэлыуи
Псынщ1эу сщ1ыри
къэзгъэсащ.
1 къуэ:
— Ди анэ, сэ
махъсымэ зэрысф1эф1ыр
Дауэ сф1ощ1
пщыгъупщэжам,
Чыржын хуабэм
кхъуейр дыщ1ыгъуу
Хъунт си гуапэ уэ
тхуэпщ1ам.
1 нысэ:
— Зэк1эрысыр,
мамэ, схуэщ1къым,
Хъунт зэращ1
сыбгъэлъэгъуам,
Уи тхъурыжьым и
1эф1агъым
Хьэблэр 1ейуэ
къыщытхъуам.
Анэ:
— Пф1эф1 чыржынри,
махъсыми
Куэду сэ пщэдей
пхуэсщ1ынщ.
Зэк1эрысыр 1эф1у
тщ1ынщи
Уи щхьэгъусэм
ебгъэшхынщ.
2 къуэ:
— Кхъужьей жыгыр къэсщэхуащи
Ди анэ, дэнэ деж
хэтсэн?
К1эрт1оф жылэ
къыпхуэсшащи
Бощ1эр дауи сыт
епщ1эн.
2 нысэ:
— Удз гъэгъа сэ
куэду сф1эф1щи
Ди бжэ1упэм
щыхэтсэнщ.
Пщыхьэщхьэпэ
къэск1э куэду
Ахэм псыи
ящ1этк1энщ.
Анэ:
— Хадэр къабзэу
зэщ1эткъуэнщи
К1эрт1оф жылэри
хэтсэнщ.
Удз гъэгъари ди
пщ1ант1эшхуэм
Зэрыжыф1эм хуэдэу
тщ1ынщ.
3 къуэ:
— Мылэжьап1эм зэ
сыплъэнщи
Псынщ1эу сэ
къэзгъэзэжынщ.
Узыхуейр къызже1и,
си анэ,
Жэщ темыхъуэу
къэзгъэсынщ.
Анэ:
— Уузыншэу
укъэк1уэжмэ
Сэ нэхъыбэ
сыхуэмей,
Умып1ащ1эу, кхъа, къэк1уэжи
Пщ1ант1эм
къыдыхьэж къудей.
Автор:
Теубгъуауэ
бынунагъуэм
Анэм и лъэр
къыщ1эхуащ.
Къэсщ и дежи
жьыгъэ узыр
П1эм тхьэмыщк1эр
хэгъуэлъхьащ.
Зызэхуешэр быным
щысхьу,
Хуейкъым гугъу
иригъэхьын.
И лъэ т1эк1ум
кърихьэк1мэ
Псори ф1ощ1
хузэф1эк1ын.
1 къуэ:
— Уи мы1уэху
зомыхуэу, ди анэ,
К1уэи уи п1эм
ит1ысхьэж.
Пхуэмыщ1эным
зомыпщытэу
Уи т1ысып1эр
зэгъэщ1эж.
1 нысэ:
— Гущэ къуапэр мис
убыди
Ущ1эмык1ыу унэм
щ1эс,
Умэжал1эм сэ
слъагъунщи
Ныщ1эбупск1эу уэ
бгъэдэс.
2 къуэ:
— Дэдзыхауэ уи1эм
ахъшэ
Къызэптамэ хъуну
сф1эщ1т,
Щ1ыхуэ т1эк1ур
сыпшынамэ
Сыхуэмейт,
уэлэхьи, нэгъуэщ1!
2 нысэ:
— Сык1уэжынущи си
дыщым
Мы сабийм т1эк1у
схук1элъыплъ,
Бий схуэхъуащи си
нысэгъур
Ауи зы нэк1и
схуемыплъ.
1 къуэ:
— Уей, си къуэш,
си жагъуэ пщ1ам.
Жыс1а псалъэ уедэ1уам!
Си машинэр тхьэщ1
бжес1ати
Уи тхьэк1уми
ибгъэхьам.
2 къуэ:
— Уи машинэр сэ
стхьэщ1ыну
Нобэ пщ1ант1эм
сыдэсакъым.
Къуэш нэхъыщ1эм
ебгъэщ1эну
Ау(э) зы псалъи
пхуже1акъым.
2 нысэ:
— Мо си гъуджэм
телъ щхьэ мажьэр
Умыупщ1эу щхьэ
къэпщта?
Лъакъуэжьит1ыр
нызеплъафэу
Тхьэ лагъунэм
ущ1ыхьа?
1 нысэ:
— Уи тхьэк1умэр
жьажьэ хъуауэ
Сабий гъы макъ
зэхомыхыж.
Уи нэщ1эщит1ыр
щ1эуэжауэ
Узыхуэмей
умылъэгъуж.
Автор:
Нэщхъейщ фызыжьыр.
Щым къэхъуащ.
Гупсысэм и лъэр
щ1игъэхуащ.
Гугъу ехьу
зэщ1ип1а и быным
Жра1эр игум
ежэл1ащ.
Мыпхуэдизк1э
1упск1э сп1ахэр
Щхьэ гущ1ы1э
къысхуэхъуа?
Схузыф1эк1ыр
яхуэзмыщ1эу
Сытым щыгъуи
къэзгъэна?
3 нысэ:
Мамэ, сыпщэф1ати
1эф1у пшхыну
Шхын щ1эщыгъуэ
къыпхуэсхьащ.
Зэрыпф1эф1ыр сщ1эт
гъэшхэк1и
Шатэ 1уви
дэщ1ызгъуащ.
Унэщхъейщи, уи гум
къеуэр
Къызжеп1ами
седэ1уэнт
Сыпхуэхъуфыну
сэбэп сщ1ами
Схузэф1эк1 лъэпкъ
къэзмыгъэнэнт.
Анэ:
Ф1ыгъуэр уэ
къыпхуищ1э, дахэ,
Сигур ф1ы
зэрысхуэпщ1ам.
Ухуэфащэщ уи
адэ-анэу
Пщ1э-нэмыс
уэзыгъэщ1ам.
7.Нэхущ чэрим жьым
фымыщ1 и жагъуэ
3 нысэ:
Сыволъэ1ур
зэкъуэшищым
Анэм пщ1э
едвгъэгъуэтыж.
Щ1эблэм щапхъэ
ттрахыфу
Ди нэмыс
дывгъэ1ыгъыж.
1 къуэ:
Уей, унагъуэм ди
нэхъыщ1эр
Псом нэхъ 1ущу
къыщ1эк1ащ.
Хабзэ дахэр,
адыгагъэр
Зэрыщы1эр
къэтщ1эжащ.
3 къуэ:
Умыдзыхэ, ди анэ
дыщэ,
Къытхуэпщ1ар
тщымыгъупщэн,
Зэрытлъэк1к1э
дыпхуэсакъыу
Жьыщхьэ-махуэ дэ
утщ1ын.
Анэ
Сыту гуащ1э мы зы
псалъэр
Жыс1эу
сытогупсысык1,
Къысщохъур анэ
зимы1эжым
Мы дунеишхуэм
хуищ1 гущык1.
Жей жыхуа1эр
имыщ1эжу
И бын т1эк1ум
теубгъуащ.
Балигъ хъуауэ ар
бынунэми
Гужьеяу и гъащ1эр
к1уащ.
Быну и1эр и
зэхуэдэщ.
Ипсэр псом щхьэк1и
итынщ.
Анэм хэт и жагъуэ
ищ1ми
Гугъуехь куэдхэр
ипшынынщ.
Дыгъэр къепсым
псэр дохуабэ
Вагъуэ лыдхэм нэр
топщ1ык1.
Анэ псалъэм гур
дощабэ,
Дунейр дахэу
щогуф1ык1.
Фшхауэ хъункъым
дэни фык1уи
Анэ шхыным хуэду 1эф1.
Щы1эу хъункъым зы
макъ гуак1уи
Анэм и бзэм нэхъ
нэхъыф1.
Фымыщ1 анэм фэ и
жагъуэ!
Евмыт анэм фэ
гухэщ1!
Мы дунейр
щыпф1э1эф1ынур
Псэухущ анэр, фщ1ы
фи ф1эщ.
Уи нэм хуэдэ анэр
жа1э
Хуэдэщ жа1э адэр
дэм.
Хэт сыт хуейми
жырыре1э
Анэм щы1экъым
хуэдэн.
Кабардино – Балкарский
государственный университет
им.Х.М. Бербекова
Конкурс эссе
«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»
«Напэр псэм япэщ»
Лэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:
Бахъсэн къалэ дэт етхуанэ
еджап1эм
и епщ1анэ классым щеджэ
Азычэ Ясминэ
Егъэджак1уэр:
Л1эужь Залинэ
2021 гъ.
Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар. ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, усакIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэуал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэуатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр. Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ. ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI… ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.
Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр
Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!
Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,
ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!
ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,
КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,
Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ
ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.
Окопым
къокIри зы долъей,
И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.
ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,
Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.
Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.
ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:
«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,
Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»
1945 гъ.
(К1ыщокъуэ
Алим)
(Проектнэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэр ф1ыуэ щыгъуазэ зыщ1ын)
Щ1эныгъэ гъуэгум ухуэзышэр – лэжьыгъэрщ.
Бернард Шоу.
Щ1эныгъэм щек1уэк1 зэхъуэк1ыныгъэхэм къыгуэхып1э имы1эу епхащ щ1эуэ еджэныгъэм къыхыхьэхэр. Зэрытщ1эщи иджыпсту гулъытэшхуэ хуащ1 еджак1уэхэм, абыхэм я къэухьым.
Стандартыщ1эр нэгъэсауэ зэпкъырызыха егъэджак1уэм къыгуро1уэ ФГОС ООО –ым къигъэув къалэн нэхъыщхьэр:
— егъэджак1уэм и лэжьыгъэм гъэщ1эгъуэныгъэ хилъхьэу еджак1уэхэм я еджэныр къэ1этын, езыр –езыру зэрылэжьэным дэшэхын;
— махуэ къэс щ1эныгъэ зрагъэгъуэтым хэгъэхъуэн.
Къалэн ди пащхьэ къиувахэм дык1уэц1рыплъыжмэ егъэджак1уэхэр нэхъыбэу дызэ1ущ1эр :
— еджак1уэхэм я нэхъыбэм езыр-езыру мурад зыхуагъэувыжыфыркъым- щ1еджэн хуейм щхьэусыгъуэ хуэхъур;
— нэхъ дэзыхьэх щ1эныгъэр къахухэхыркъым.
Зэ еплъыгъуэк1э езыр – езыру щ1эныгъэ зрагъэгъуэтыну, абы зрагъэужьыну хуейуэ къыпщохъу, ауэ лэжьыгъэ къегугъуэк1 къызэрыхыхьэу я закъуэ лэжьэну къазэрехьэлъэк1ым гу лъыботэ, абы зэрелэжьын 1эмалхэр къызэрагъэпэщыну къохьэлъэк1. Абы ипкъ итк1э дэри ди пащхьэм мурад нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжыр:
— сабийр езыр – езыру лажьэу егъэсэн;
— метамредметым кърик1уэ зыужьыныгъэр псынщ1э ящыщ1ын, ядэ1эпыкъун.
Ди мурадхэр зэдгъэхъул1эн папщ1э щ1эныгъэл1хэм я псалъэ пэжхэр ди гъузэу щытын хуейщ:
1. « Еджэным и мурад нэхъыщхьэр- акъылым и гупсысэк1эм зегъэужьын» (Платон)
2. «1эмалыщ1э зэхуэмыдэхэр нэхъыбэрэ къэбгъэсэбэпмэ, еджак1уэм нэхъыбэ къэсщ1арэт жи1энущ.» (Ю.К.Бабанский)
3. « Езыр – езыру лажьэу емыса сабийм, седжарэт пхужегъэ1энукъым.» (Есипов)
4. мурад нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжыр:
— сабийр езыр – езыру лажьэу егъэсэн;
— метамредметым кърик1уэ зыужьыныгъэр псынщ1э ящыщ1ын, ядэ1эпыкъун.
(П.И. Пидкасистый)
5. мурад нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжыр:
— сабийр езыр – езыру лажьэу егъэсэн;
— метамредметым кърик1уэ зыужьыныгъэр псынщ1э ящыщ1ын, ядэ1эпыкъун.
(К.Д. Ушинский)
Езыр- езыру ягъэзащ1э лэжьыгъэм зыужьыныгъэ кърик1уэр егъэф1эк1уэн.
Метопредметым кърик1уэ зыужьыныгъэр гуэхып1э имы1эу епхащ творческэ лэжьыгэм, псом хуэмыдэу проектнэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэм. Проектнэ- къэхутэныгъэ, къэлъыхъуэныгъэ методым къызэрегъэпэщ еджак1уэхэм я зэф1эк1хэр щхьэ закъуэу е гуп лэжьыгъэу щытми. Ар сэбэп къыхуохъу щ1эныгъэ зригъэгъуэтар къигъэсэбэпу зы 1уэхугъуэ гуэр игъэзэщ1эфыну. Зы щ1эныгъэм адрей щ1эныгъэр кърегъащ1э, щ1эщыгъуэ щещ1, дэтхэнэ еджак1уэми и зэф1эк1ыр хохъуэ. Проектнэ методым, ар сыт хуэдэ ирехъу, егъэджак1уэм 1эмал кърет и лэжьыгъэр пыухык1ауэ ухуэным, еджак1уэм и шхьэзакъуэ лэжьыгъэр егъэф1эк1уэным. Дэтхэнэ еджак1уэми и зэф1эк1ыр къегъэлъэгъуэф, 1эмал зэмыл1эужьыгъуэхэр къигъэсэбэпу йосэ. Лэжьыгъэм дэшэхын щ1ыжыт1эми щхьэсыгъуэ зэри1эр псоми къыдгуро1уэ. Зы метод закъуэк1и ар къызэдэмыхъул1энри тщ1эн хуейщ, ауэ проектнэ – къэхутэныгъэ лэжьыгъэм нэхъ хыболъагъуэ еджак1уэм зэф1эк1 и1эхэр, зэгъусэу ущызэдэлажьэк1э езы сабийри тогушхуэ.
«Акъылыншэ щы1экъым, щы1эр ф1ыуэ умылъагъу лэжьыгъэм ирилажьэрщ»
«Зэхызохри- сщогъупщэж,
Солъыгъури сигу изоубыдэ,
Сощ1эри – къызгуро1уэ» жи1эгъащ Конфуций, а принципым сабийхэр зэрыхуэсшэным сэри сыхуопабгъэ. Лэжьыгъэр къыщызэхъул1и къыщызэмыхъул1и къыхок1.
Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъаджэ егъэджак1уэхэм я секцэ.
Доклад : «Еджак1уэм и творческэ зыужьыныгъэмк1э
метапредметым кърик1уэ ехъул1эныгъэхэр».
Плановскэ курыт еджап1э 2
адыгэбзэмрэ литературэмрэ
езыгъаджэ егъэджак1уэ:
Тэрчыкъуэ З.Къ
Щоджэнц1ык1у Алий хиша лъагъуэ-
ращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ
дызытетыр.
Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар
Налшык къалэ
31 – нэ курыт еджап1эм
адыгэбзэмрэ литературэмк1э
и егъэджак1уэ Афэщ1агъуэ Светланэщ.
Уи гъащ1эр мащ1эу щытами,
Мык1уэдыжынхэр уи тхылъщ,
Ажалыр уэрк1э п1эщ1ами,
Ц1ыхубэм я гум ухэлъщ.
Щ. С.
Ди тхак1уэхэм щыщу сэ нэхъыф1у слъагъур Щоджэнц1ык1у Алийщ. Алий ц1эр щыжып1эк1э, 1эмал имы1эу, уи нэгу къыщ1охьэ а ц1ыху щэджащэр къызыхэк1а адыгэ лъэпкъ уардэр. Сэ къызэрыслъытэмк1э, насыпыф1эщ ик1и уахътыншэщ апхуэдэ ц1ыху къызыхэк1а лъэпкъыр. Къэбэрдей — Балъкъэрым щыпсэухэм я закъуэкъым нобэ а ц1эм ирипагэр. Ар я Алийщ усыгъэр ф1ыуэ зылъагъуу ди къэралышхуэм ис псоми.
Адыгэщ1ым и къуэ щыпкъэр дунейм зэрытетар илъэс пл1ыщ1 къудейщ. Арами, зэман к1эщ1ым къриубыдэу Алий адыгэхэм яхуилэжьа 1уэхутхьэбзэр лъытэгъуейщ. Адыгэбзэм и беягъыр, 1эт1элъэт1агъыр, сыт хуэдэ гурыщ1эри къызэрип1уэтэжыфынум и щыхьэт нэскъэ Алий и усэ жьгъырухэр, прозэ тхыгъэ мащ1эу ди нобэрей литературэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар! Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж, нобэми ныжэбэми дызэрыгушхуэ ц1ыхущ.
Адыгэ литературэм зымащ1эк1э нэхъ мыхъуми 1уэху хузи1а, абы щыгъуазэ, зыджа гуэри бгъуэтынкъым Щоджэнц1ык1у Алий псалъэ гуапэ, псалъэ дахэ хужызымы1э, абы и 1эзагъым пщ1э хуэзымыщ1, зи щхьэр хуэзымыгъэщхъ. Букварь зи блэгущ1эм щ1элъу еджап1эм к1уэм и деж къыщыщ1эдзауэ зи пащ1э – жьак1эр къетхъухахэм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1ур! Абы и усэ жьгъырухэм, и поэмэ телъыджэхэм ямыгъэп1ейтеяр сыт хуэдэ тхылъеджэ? Сэ сызэреплъымк1э, литературэр ф1ыуэ зылъагъу дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми нобэ къыщыбгъуэтынущ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэр. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэхэм къызэщ1аубыдащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ 1уэры1уатэм и 1эф1ып1эхэр, анэдэлъхубзэм и псалъэ дыщэхэр.
Алий и тхыгъэхэмк1э къэбэрдей литературэр гъуэгушхуэ, гъуэгу тэмэм тригъэуващ. Щоджэнц1ык1ум и 1эдакъэщ1эк1хэр тхылъеджэхэм гунэс ящыхъуныр къэзышар усак1уэм и талантырщ, къи1эта 1уэхугъуэхэм я инагъымрэ ахэр тэмэму зэрызэпкърихамрэщ, зыхэпсэухьа гъащ1эм зэрыдэушарщ, и тхыгъэ гъуэзэджэхэр зэрыкупщ1аф1эрщ. Щоджэнц1ык1ум и гупсысэмрэ и къалэнымрэ куэдым нэсащ. Алий ф1ыгъуэу илэжьахэм ящыщ зыщ и геройхэм я гумрэ я псэмрэ я щытык1эр, абыхэм я гуращэр, я гуапэр е я гуауэр къэбэрдей литературэм япэу зэрыщигъэлъэгъуар. Абы и «Къамботрэ Лацэрэ» романым къегъэлъагъуэ патриорхальнэ – феодальнэ щытык1эм Къэбэрдейр щитам ди ц1ыхухэм я псэук1ар, пщыхэмрэ пщыл1хэмрэ яку дэлъа зэныкъуэкъуныгъэр; «Мадинэ» поэмэр адыгэ унагъуэм, абы илъа хабзэм теухуащ; «Тембот и дыгъуасэхэм» къэбэрдей мэкъумэшыщ1эхэм Дзэлыкъуэ къыща1эта восстанэм щыгъуазэ дащ1; «Ныбжьыщ1э хахуэ», «Партизан Жамбот» поэмэхэм ди хэкум граждан зауэр зэрыщек1уэк1ар, нэгъуэщ1хэри.
Алий и тхыгъэ псоми ущ1эджык1рэ уегупсысыжмэ, ижьым къыщыщ1эдзауэ нобэм къэсыхук1э Къэбэрдейм и тхыдэм ущ1эджык1ауэ, ц1ыхубэм я псэук1ар, къызэрек1уэк1ар нэрылъагъу пщыхъуауэ къэплъытэнущ. Алий и тхыгъэхэм щыпсэур гу пщтыррэ псэ къабзэрэ зи1э ц1ыху щыпкъэхэмрэ дахэхэмрэ я закъуэкъым, ат1э абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди щ1ыналъэ дахэр, ди къурш лъагэхэр, ди псы уэрхэр, берычэтылъэ гъавэ щ1ап1э губгъуэхэр, удз гъэгъахэр, псоми гъащ1э езытыж дыгъэр, дахагъэу щы1э псори.
Щоджэнц1ык1у Алий и бзэр дахэщ, къулейщ. Сэ изогъэщхь ар макъамэ гуак1уэ зыщ1элъ уэрэдым. Щоджэнц1ык1ум щхьэк1э куэдрэ жа1эу зэхыбох : « усак1уэ 1эзэщ». Ауэ, сэ къызэрыслъытэмк1э, Алий дежк1э ар мащ1эщ. Ар псалъэм и художник 1эзэм къыщымынэу, гъащ1эм куууэ пхырыплъыф ц1ыху щыпкъэщ.
Щоджэнц1ык1ум и усэ куэдыр нобэ гъащ1эм дызыщы1ууэ мыхъумыщ1агъэхэм тегъэпсауэ итхам хуэдэщ. Ди адыгэ литературэм зы1эригъэхьа ехъул1эныгъэ псомк1и ф1ыщ1э ин бгъэдэлъщ Алий.
Мис апхуэдэ лэжьыгъэф1 куэд и 1эдакъэ къыщ1эк1арщ Алий нэхъыф1у сэзыгъэлъагъур. Ар дунейм зэрехыжрэ илъэс дапщэ хъуа, ит1ани и тхыгъэ гуащ1аф1эхэмк1э ар ноби къытхэтщ, дахэр игъэдахэрэ ем ебэну. Зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта а ц1ыху телъыджэм и усыгъэхэри нэхуу къытхуоблэ ноби. Ужьыхынкъым а нэхури ц1ыхум и нэр къэплъэху.
Нобэ Алий тхэмытыжми,
Псоми ди гум 1эф1у илъщ.
Къигъэнауэ и лэжьыгъэр
Усак1уэшхуэм и фэеплъщ.
Гъу. Хъу.
Щоджэнц1ык1у Алий хузоус.
Адыгэ хэкуу си лъахэм
Алий ц1эр лъагэу ща1этыр.
Усак1уэ иным уэ птхахэм
Кавказ щ1ыналъэр щолъап1эр.
Уи тхыгъэф1 куэдхэу къэнахэм
Псэщ1э ц1ыху псоми яхелъхьэр.
Уи усэ шэрыуэхэр зыджахэм
Сэри сащыщщи согуф1эр.
Уи повесть дахэхэм уеджамэ,
Мыбэяуж гу къеуэр щ1эх.
Гукъыдэж пщ1ыуэ, ут1ысамэ,
Узэ1эпешэ, удехьэх.
Уэ уэщхьу дахэу сытхэфамэ,
Ар насыпышхуэу сэ сыбжынт.
Уэ пхуэдэ тхак1уэ здэнт сыхъуамэ,
Сэ усэ тхынк1и с1уэтэжынт.
Мы гъащ1э 1эф1ым утемытми,
Сыт щыгъуи ди гум ущопсэу.
Мы ди зэманым ухэмытми,
Уи тхыгъэр куэдрэ тхурепсэу.
КIэдэкIуей Ларисэ Умар и пхъур
Россием и лIыхъужь цIэр зезыхьэ ПсэукIэ-Дахэ курыт еджапIэм и егъэджакIуэ
Темэр: «Адыгэ хабзэкIэ зэджэр зищIысыр»
Гъэсэныгъэм и сыхьэт
Темэр: «Адыгэ хабзэкIэ зэджэр зищIысыр»
Мурадыр:
1) Хабзэм теухуауэ ебгъуанэ — епщ1анэ классым щ1эс ц1ык1ухэм я щ1эныгъэр здынэсыр къэпщытэжын.
2) Еджак1ухэм лъэпкъым и 1уэры1уатэр ф1ыуэ егъэлъагъун.
3) Адыгэ лъэпкъым и щэн-хьэл дахэхэм щапхъэ къытрахыфу гъэсэн.
4) Адыгэхэм я псэук1ар, ик1и щек1уэк1ар зэрытхъумэн хуейм къыхуеджэн.
Еджак1уэхэм я къэлэн нэхъыщхьэхэр:
— ебгъуанэ — епщ1анэ классым щ1эс еджак1уэхэм хабзэмк1э я щ1эныгъэр здынэсыр къэхутэн;
— хабзэм щыщ 1уэхугъуэ нэхъыщхьэхэр еджак1уэ нэхъыщ1эхэм зэращ1эр сэтей къэщ1ын.
Зыхуэгъэза сабийхэм я ныбжьыр: илъэс 14-15
Зыхуэныкъуэну нэрылъагъу пособиехэр:
псалъэжьхэр, адыгэ макъамэхэр: «Итамбылак1уэ», «Уэзы Мурат»; адыгэ къафэхэр : «Удж хэш», «Уэркъ къафэ»; презентацэ, лэжьыгъэ ягъэзэщ1ахэм я выставкэ; Абдокъуэ (Гунжаф1э) Фатимэ и усэ сатырхэмк1э къагъэщ1а уэрэд «Тенджыз ф1ыц1э», Тхэгъэлэдж Светланэ и уэрэд «Си адыгэбзэ».
- Пэщ1эдзэ псалъэ. Егъэджак1уэ
Нобэ мыбдеж къызэхуэса ди хьэщ1э лъап1эхэм фэдгъэлъэгъуну, федгъэдэ1уэну дыхуейт «адыгэ хабзэр нобэ» зыф1этща ди урокыр. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ хабзэр ц1ыхухэм къадогъуэгурык1уэ.
Сыт адыгэ хабзэр зищ1ысыр т1э? Адыгэ хабзэр – ар ц1ыхубэм, Кавказым ис адыгэхэм я дуней тетык1эщ. Адыгэ хабзэм ц1ыхум и хьэл-щэным зрегъэужь, нэмыс пхэлъу, нэхъыжьи, нэхъыщ1и пщ1э хуэпщ1у, укъыщалъхуа Хэкур пхъумэжу дунейм утетынырщ къигъэувыр. Гъэсэныгъэ ущииныгъэм теухуауэ икъук1э мыхьэнэшхуэ и1эщ адыгэ хабзэм. Адыгэхэр къэзымыц1ыху мы дунейм теттэкъым, сыт щхьэк1э жып1эмэ, абыхэм я дуней тетык1эр, я хьэл-щэнхэр, я нэмысыр нэхъ лъагэт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ адыгэу мы ди щ1ып1эм щыпсэур мащ1эщ. Нобэ дэ вжет1эну, къывэдгъэщ1эжыну дыхуейт адыгэхэр дызэрыхъу бжыгъэр.
Ахэр къывжи1энщ ди еджак1уэ ныбжьыщ1э, 10-нэ классым щеджэ Ламкъуэ Мадинэ
Дапщэ –
Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэу дунейм тетхэм ящыщ зыщ. Абы къыхэк1ыу сыт и лъэныкъуэк1и адрейхэм къахэщ лъэужьышхуи къыхашащ абыхэм ц1ыхухэм я тхыдэм. Ди эрэм и пэк1э IV л1эужьыгъуэм икухэм прото-адыгэхэм къыщызэрагъэпэщащ къухьэп1эмк1э гъэза Хы ф1ыц1э 1уфэм Синэ къэралыгъуэр. Ар иджырей Россие Федерацием нэхъ ныбжьышхуэ зи1э къэралыгъуэу къыщалъытэхэм ящыщ зыщ. Арщхьэк1э, адыгэхэр я хуитыныгъэм щ1эбэн зэпыту псэун хуей хъуащ. Ар къызыхэк1 щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ ахэр щыпсэу щ1ыналъэм и географическэ щытык1эр. Ди щ1ып1эм 1эмал щыбгъуэтырт Ипщэк1и, Ищхъэрэк1и, Къуэк1ып1эмк1и, Къухьэп1эмк1и щызэбгырык1 гъуэгухэм уак1элъыплъыну. Аращ зэман-зэманк1э къару шынагъуэк1э зыкъыпэщ1асэу щытахэр гуинхэр, булгархэр, монголхэр. Икъук1э леишхуэ къащытехьар илъэсищэк1э зэпымыууэ ек1уэк1а урыс-кавказ зауэрщ. А зауэм щыщ1идза лъэхъэнэм адыгэхэм я бжыгъэр мелуани 2-м нэсу щытамэ, и к1эухым зэрыхъужыр зы мелуант. VIX л1эщ1ыгъуэм и 60 гъэм и п1эщ1эдзэм а бжыгъэр зэрыхъужыр мин 100-т. Ауэ щыхъук1э псэууэ къэна ц1ыхум 10 къэс 9-нэ щалъхуа Хэкур залымыгъэ 1ейк1э ирагъэбгынащ. Адыгэхэм хуэдэу леишхуэ къызытехьа зы лъэпкъи къэгъуэтыгъуейщ. Ноби, фыщыгъуазэщи, абы лъандэрэ илъэси 130-рэ дэк1а пэтми, адыгэхэм нэхъыбэу я псэуп1эр хамэ щ1ып1эхэрщ. Нобэм къэса тхыгъэхэм къызэрыхэщымк1э, Хы Ф1ыц1э 1уфэм къыщыхута бгырысхэм я бжыгъэр 1858-1865 гъэм къриубыдэу ц1ыху мин 495-рэ мэхъу. Абы щыщу 413-р адыгэ лъэпкъым щыщщ. Депортацэ нэужьым щ1ып1эм къинэжар мини 100-щ. Ар лъэпкъым и процент 90-м нос. Иджы феплъыт адыгэхэр здэ1эпхъуа щ1ып1эхэм. Япэрауэ, Тыркум къыщагъэлъэгъуа бжыгъэхэр ц1ыху мин-600-м къыщыщ1идзауэ мелуан-3-нос. 1950-1983 гъ. къриубыдэу къэхутэныгъэ ирагъэк1уэк1ащ иужьырей илъэси 100-м адыгэхэр щыпсэу щ1ып1эхэм ехьэл1ауэ я бжыгъэхэр зэрыхэхъуам:
Тыркум – 2,5%, Сирием – 3,2%, Иорданием – 2,7% — к1э хэхъуащ. 1980 гъ. къык1элъык1уэ илъэс 15-м кръриубыдэу Иорданиемрэ Тыркумрэ щыпсэухэм хэхъуэшхуэ зэра1эр къэплъытэмэ, илъэс къэс бжыгъэр процент 1,5% — к1э дэк1уеящ. Абы ипкъ итк1э дыщыуэну къыщ1эк1ынкъым, иджыпсту Тыркум, Иорданием, Сирием щыпсэу адыгэхэр мелуан 4,5-м нэблагъэу зэрыщытыр.
Адыгэр нэгъуэщ1 лъэпкъыу мин зыбжанэ щы1эхэщ Восток Гъунэгъумрэ Африкэ Ищхъэрэмрэ хыхьэ къэралыгъуэхэу Иракым, Ираным, Сауд Хьэрыпым, Мысырым, Ливием, Туникым; Европэ къэралхэм, США-и, Канадэ, Германие, Австарлие, к1эщ1у жып1эмэ адыгэхэр зэрымыс къэрал къэгъуэтыгъуейщ. Зэрыфлъагъущи, Кавказым ик1ауэ нэгъуэщ1 къэралхэм щыпсэухэм я бжыгъэр мелуан 5-м зэрыф1эк1ым шэч хэлъкъым.
2. Егъэджак1уэ
Зэрыфлъагъущи, Мадинэ къывжи1ахэр дэтхэнэ зыми фи гуапэ хъуащ, сыт щхьэк1э жып1эмэ, адыгэхэр иджыри допсэу, долажьэ, хабзэр дохъумэ, ик1и псом нэхърэ нэхъ гуапэу адыгэхэр ноби дымащ1экъым, бжыгъэр зэрыхъур иджыри тэмэму зэхэгъэк1а хъуакъым. Къык1элъык1уэу, дэ федгъэдэ1уэну дыхуейт адыгэхэм сыт щыгъуи псалъэ пэжхэр гъэсэныгъэ-ущииныгъэм ехьэл1ауэ къагъэсэбэпыр.
3. Сэ нобэ фезгъэдэ1уэну сыхуейт, ц1ыхум и Дуней еплъык1эр къэзыгъэлъагъуэ псалъэжьхэм:
а) «Акъыл зи1эм имы1э щы1эжкъэм»
б) «Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ»
в) «Ахъшэр пшахъуэщи, гъащ1эр пц1ащхъуэщ»
г) «Бзур зы1этыр дамэщ, ц1ыхур зы1этыр акъылщ»
4. Сэ фезгъэдэ1уэнщ, хабзэм, ушииныгъэм, гъэсэныгъэм, щ1эныгъэм епха псалъэжьхэм:
а) «А сигу зы1эжьи, а си жьэ зыубыд»
б) «Акъылым и лъапсэр чэнджэщщ»
в) «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс»
г) «Е пщ1ауэ ф1ы ущымыгугъ»
д) «Нэмысым насып къыдок1уэ»
5. Едж
а) «Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщ1эм гъуэгу ет»
б) «Удафэ и акъыл ирефыж»
в) «Уэшх блэк1ам щ1ак1уэ к1элъомыщтэж»
г) «Фадэ зи ныбжьэгъум жып гъуанэ щ1этщ»
6. Едж
Сэ фезгъэдэ1уэну сыхуейщ, тхыдэм, зауэм, мамырыгъэм, адэ хэкур ф1ыуэ лъэгъуным теухуауэ псалъэжьхэм:
а) «Дунейр къэк1ухьи, уи унэ ихьэж»
б) «Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь»
в) «Зауэ езыгъажьэ и щхьэ лажьэ хуохъуж»
г) «Зауэм и к1эр хьэдагъэщ»
д) «Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым»
7. Едж
Феда1уэ лэжьыгъэм епха псалъэжьхэм
а) «Гъэмахуэ тхьэмахуэр, щ1ымахуэ гъуэмылэщ»
б) «Бжьэ зыдэсым фо дещ1э»
в) «Улажьэмэ лэжь пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ»
г) «1уэху мыублэ, блэ хэсщ»
д) «Лэжьыгъэм хэзагъэр щ1эныгъэми хозагъэр»
8. Егъэджак1уэ
Зэрыфлъагъущи, адыгэ псалъэжьхэр сыт хуэдэ 1энат1эми ехьэл1ащ абы къегъэлагъуэ псалъэжьхэм ц1ыхум и хьэл-щэным зызэригъэужьыр.
Мыдэк1э федгъэдэ1уэнщ, адыгэ уэрэдыжь.
Адыгэхэм уэрэд куэд я1эщ, псалъэжьхэм хуэдэуи зэщхьэщок1: историческэ, лирическэ, сабий, социальнэ уэрэдхэу.
9. Едж
«Адыгэ уэрэдыжь» — Уэзы Мурат
Мы уэрэдыр л1ыхъужь уэрэдщ, Мурат л1ыхъужьыгъэ зэрихьар къегъэлагъуэ:
Уэзы Муратк1э зэджэри,
Щ1алэ ф1ыц1э къуэгъукъэ 0 I I I
Шы гъурым тесри Маржэ!
Гъусэ пхуэхъунк1э 0 I I I
Уи шыпэ хужьри ой Маржэ!
Зэрыпхэщ1ыбгъуэ 0 I I I
Гумкъалэ губгъуэми ой Маржэ!
Мурат щозауэр ой.
Зыныбжьэгъу щ1алэхэр ой Маржэ!
Къызэрогъащтэр 000
Щ1алэр къахуэщтэми ой Маржэ!
Мурат къащтэнкъым 00
Уэ мэкъумэшыщ1эхэм ой Маржэ
Выр щ1огъэщ1этыр 00
Уэ уи жэгъуэгъухэри ой Маржэ!
Жейми къыхоск1э о1.
10. Къафэ: — «Удж хэш»
зыгъэзащ1эр еджап1эм и къафак1уэ гупщ.
11. Едж
«Лъэпкъым и уэрэд усэр»
Адыгэ тхыдэм къытхуе1уэтэжыр
Адыгэ лъэпкъым я псэук1ар,
Адыгэ хабзэр, я нэмыс пэжыр
Ямыгъэк1уэду зэрыхъумар.
Гуф1эгъуи, гуауи зэда1ыгъыфу,
Лъэпкъыр зыжылэу зэхэтыфащ,
Бий къатеуами, адыгэ лъэпкъыр
Ямыгъэк1уэду яхъумэжащ.
Нобэ зэманым зэридзэк1ауэ
Адыгэ тхыдэм дыхегъэплъэж
Адыгэ хабзэр дэ къэтщтэжауэ
Тхьэм дигъэлъагъуи дигъэ1уэтэж.
12. Егъэджак1уэ
Нобэ, дэ усэ зыбжанэ федгъэдэ1уэнущ. Иджыпсту зэхэфха усэр Къуийц1ык1у Жэнтыгъуэн ейщ. Мыбы и усэм къытхуе1уэтыж адыгэхэм я псэук1ар, ик1и щек1уэк1ар зэрытхъумэн хуейм дыхуреджэ.
Иджыпсту сценкэ к1эщ1 ц1ык1у федгъэплъынщ. Зыгъэзащ1эхэр К1эдэк1уей Умар 10кл., Шорэ Хьэсин 11 кл.
13.
Шорэ Хьэсин
— Ладно, ладно, хъэрэшо, зы псалъэ вжес1энщ.
К1эдэк1уей Умар
— Пэжалыстэ, тхьэмадэ, сэ пагэу си жизым зы минути сыщытакъым.
Шорэ Хьэсин
— Тем более мы ресторанри адыгэ семьям хуэдэщ. А семьям уису, адыгэ блюдэ пшхыуэ къыбдалъхуа уи языкымк1э эы тост къыщыпхуэмы1этынум и деж, я дикэ извиняюсь, уи родым ухуэмыфэщэжу аращ. Аракъэ?
К1эдэк1уей Умар
— Точно
Шорэ Хьэсин
— Тем не менее, как ни странно, дэ постояннэу дыщрохьэл1э виступленэ куэд, я разговорым и формэк1и и содержанэк1и тхьэк1умэр ягъэвуу, нервыр къызэщ1агъэхъаеу. Слуши, что трудного уи языкк1э упсэлъэжыну?
К1эдэк1уей Умар
— Уей, пэжым, дегъафи абы нэхърэ.
Шорэ Хьэсин
— Хьэжмысост, иджьыри зы словэ жып1эмэ, клянусь, къевгъэжьауэ жыс1э тостыр, запрэстэу щызмыгъэтыжым. Нэхъыжьхэм уваженнэ хум1эн хуейщ.
Итак, док1уэр дальши. Дэ ди хьэщ1эщ ди литературэм и гъуэгур зыукъуэдия л1ы приятнэ гуп. Нт1э, я гъугур гладкэ фи гугъэа анэдэлъхубзэм и 1уэхумк1э? как бы не так. Тысич бжыгъэк1э пример къыфхуэтхьыфынущ ухуейм.
К1эдэк1уей Умар
— уей къэтхьыфынум. Мисс мыс мыбы сыт илажьэр «аркъэ» убзэрабзэжу адыгэ псалъэ куэд жыуигъы1эк1э.
Шорэ Хьэсин
— Хьэжмысост, уи жьэр гъэувы1уи, атк1э къеда1уэ. Например сыт дитхак1эхэм «самолот» щ1ыжа1эр. Ди1экъэ дэ абы и перевод? Пожалыстэ «кхъухьлъатэ». Или «стэчан» жып1эу щхьэ птхын хуей? Нэгъуэщ1 мыхъуми «кумбыгъэ» жы1э.
К1эдэк1уей Умар
— Кумбыгъэ жып1а? Уей сытк1э еджэ узыхуей аркъэр урефэ мэхъу.
Шорэ Хьэсин
— А зиунагъуэ, л1ыжь-фызыжьхэми «здрастирэ, дэсуданэрэ» ф1эк1а жа1эжкъым. А почему? – сыноупщ1ыр уэ Хьэжмысост. Уэ как ни как, Цушкэ и школыр къэбухыну пэпиткэ пщ1ауэ щытащ. Ар апхуэдэу щ1эхъур а уи щхъэ тупоим нэсрэ?
К1эдэк1уей Умар
— Уей попиткэ не убыткэ жыс1эри Цушкэ и школыр къэзухын си гугъати убыткэм сык1уащ.
Шорэ Хьэсин
— Инглыбзэк1э жып1эмэ «но», нэмыцыбзэк1э жып1эмэ «наин», хьэрпыбзэк1э жып1эмэ «мафий», урысыбзэк1э «нету» Нэскъым Нету значит. Вот где хьэр щызэритэ. Вот где глубокоуу, широкэу а причинэм щылъыхъуэн хуей. Къэдгъуэтым пусть, къэдмыгъуэтми-пускай.
Щи-шэ, си разговорым короче зезгъэщ1ын, ауэ ни дай боху, тхьэм дыщихъумэ апхуэдэ сорняк ди языкым къыхыхьэным. Слуши, Хьэжмысост зы слова жыс1эжын загруглят сщ1ынущ си тостыр, хъунумэ зы минут къытпэплъэжыф.
К1эдэк1уей Умар
— Хъунщ, уи къэвэбжэр зэхуэщ1 иджы.
Шорэ Хьэсин
— Терпении уи1эжкъым слуши. Каждэм и дежк1и яснэщ. Адэк1э зы словэ жыс1эн я ни я! Мо Хьэжмысостыжьым кончать ирещ1 си тостыр. Си гъащ1эм зэ анэдэлъхубзэк1э тост произносит сщ1ынщ жыс1эри желанэ сщ1ати, совести, уважении, терпении и1эжкъым, слуши мыбы.
Будь здоров Хъэжмысост. Все.
К1эдэк1уей Умар
— Зэ къэувы1э, мыбы иджыри къинащ е е е…
14. Егъэджак1уэ
Зэрыфлъагъущи, си сценкэр зытеухуауэ щытар зи бзэ зымыщ1эж ц1ыхухэм хуэунэт1ащ, ауан ещ1.
Къафак1уэ гупым зы къафэ къащ1.
15. Егъэджак1уэ
«Истамбылак1уэ» макъамэр къоуэ.
Бемырзэ Мухьэдин итхауэ зы усэ федгъэдэ1уэнщ «Лъэ1у».
Мыр зытеухуар адыгэхэр и Хэкум хуимытыжу, щ1ып1э хамэм зэрырашарщ. Усак1уэм къыдгуригъэ1уэну хуейщ зауэ ди нэгу щ1эмык1ыу дыпсэуну.
Адыгэ лъэпкъым и 1эпкълъэпкъ пщык1ут1-
Адыгэ анэм и зэш бын гъуэзэджэ,
Фэ адэжь хэкум вагъуэу фыщылыдт,
Фыкъэзылъагъухэр къывэхъуапсэу зэк1э.
Натхъуэджыр, беслъэнейр, еджэрыкъуейр,
Жанейр, мэхъуэшыр, хьэтыкъуейр, шапсыгъыр,
Ит1анэ абазэхэр, къэбэрдейр,
Адэмей л1акъуэр, к1эмыргуейр, бжьэдыгъур.
Кавказым и дахэп1эр фэ фи хэкут,
Щ1ыгулъым я нэхъ бейр фи хьэсэ щ1ап1эт,
Къэрал зэмыщхьхэм къыфхухашу гъуэгу,
Фи тенджыз 1уфэр я1эт кхъухьтедзап1эу.
Иджы фэ дуней псом фыщикъухьащ…
Фэрыншэу нэщхъеялэщ чэщей мэзхэр,
Фэрыншэу, уэгум вагъуэ щипхъыхьар
Мэкъуауэ бадзэу, маф1э нэпц1к1э мэсхэр.
Адыгэ лъэпкъым и лъакъуэ пщык1ут1,
1эпкълъэпкъыу ц1ыхум фэ фхуэдизщи и1эр,
Зыгуэр фыхэщ1у и гур ивмыуд,
Фи псэуныгъэр гурыф1ыгъуэу зи1эм.
18. Къафэ «Уэркъ къафэ»
зыгъэзащ1эхэр 9,10,11 классым щеджэ еджак1уэхэрщ.
19. Абдокъуэ (Гунжаф1э) Фатимэ и «Тенджыз ф1ыц1э» уэрэдым фыкъеда1уэ. Мы уэрэдым и псалъэхэм куэдым урегъэгупсысыж. Ди адыгэхэм я блэк1ар нэгум къыщ1егъэхьэж.
Тенджыз Ф1ыц1э
- Ди лъэпкъ тхыдэм сыроплъэж
Блэк1ар нэгум къыщ1охьэж
Тырку кхъухьыжьхэм ззэдагъазэу
Тенджыз ф1ыц1эр ягъэгызт
Истэмбылым си лъэпкъ уардэр
Хъурмей жыгхэм щигъэгугът
Адэжь Хэкур зыбгынэжхэм
Жэнэт щ1ып1эу ар къащыхъут.
П-ев
Теджыз Ф1ыц1э, Теджыз Ф1ыц1э,
Къэхъуа псори уэ плъэгъуащ.
Си лъэпкъ уардэр щагъэк1уэдым
Жом1аф1ауэ угызащ.
Теджыз Ф1ыц1э, Тенджыз Ф1ыц1э
Уи толъкъунхэр зэуэ лъыщ.
Тенджыз Ф1ыц1э, зи гур ф1ыц1э
Уэ блэк1ам уриуэчылщ.
2. Си гур узу со1уэтэжыр
А махуэжьхэр сыт махуейт.
Сабий хьэдэхэм уалъахъэрт
Кхъухь тедзап1эхэм я дей.
Къыщ1идзауэ маф1э лыгъэр
Адыгэщ1ыр игъэст бийм.
Мыжурэпэм ф1элъу ныпу
Игъэдалъэрт ц1ыху к1эт1ийр
3. Мык1ыжын у1эгъэу си гум,
Телъщ, си лъэпкъ, уэ къыуащ1ар.
Кхъухь жагъуэжьхэр щ1эт1ысык1ыу
Бдзэжьей 1ус узэращ1ар.
Ирец1ыху адыгэ къэск1э
Адыгэщ1ым ишэчар.
Ирец1ыху ди щ1эблэ къэхъум,
Мащ1э дыдэ дыщ1эхъуар.
20. 1эщ1агъэл1хэм я выставкэ
(6-7 классым щ1эс еджак1уэхэм я лэжьыгъэхэр)
- вышивка – хэдык1 зэмыл1эужьыгъуэхэр
- плетение – уагъэ зэ1ущахэр
- корзина для цветов – чы матэ ц1ык1ухэр
21. Егъэджак1уэ
Нобэрей ди зэ1ущ1эр зэхуэсщ1ыжын ипэ къихуэу жыс1эну сыхуейт: «Адыгэ тхыдэр, хабзэр дывгъэхъумэ, ди бзэр дывгъэдж. Уи бзэр умыщ1эжмэ, уи лъэпкъри щы1энукъым».
Зэи зыщыдывмыгъэгъупщэ мы псалъэхэр:
«Лъэщ дищ1ыну къыдитащ ди лъэпкъым бзэ шэрыуэ, хабзэ хьэлэмэт».
22. Тхьэгъэлэдж Светланэ и уэрэд «Си адыгэбзэмк1э» зъхуэщ1ыжын ди сыхьэтыр