Си къуажэ сочинение на кабардинском языке

Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ  Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.

Аддэ, зы  зэман гуэрым  Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм
зыл
I и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр
яхъумэжу. Адыгэхэр зэик
I зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым.  АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я
гуащ
Iэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс
пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.

Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.

                                           Cи
хэкууэ дыщэ губгъуэ,

                                                      ГъащIэщIэм
и епэр!

                                                      Кавказым
и щ
Iы
ф
Iыгъуэ,

                                                      Уи
теплъэм
IэфI
ещ
I
псэр!

Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу
услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемы
Iэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ
псори ф
Iыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу.  Ди  Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.

Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цIыхухэм я гъащIэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум

папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.

Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.

Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм  сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ
къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэк
Iэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр
зыщыхуарзэ хэкужьым къэмык
Iуэным   щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди  дэлъхухэм,  шыпхъухэм
зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын
хуейщ. Дэнэ щ
IыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди
хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ,
зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.

Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уэгум сихьамэ,

щIылъэр си плъапIэщ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

Уи къалэ щхьиблым

Зыкърагъэщхьу,

Вагъуэзэщиблыр

жэщкIэ зэщIоблэ.

А блым еянэу,

Нэхъ ябжьэфIэкIыу

Си гурыфIыгъуэр

Адыгэ хэкукъэ.

Уи нэр зыдэплъэм

Уи лъэр лъоIэсыр.

Къырым илъ дани

УлъэIэсакъэ.

Адыгэ уафэ,

Адыгэ щIылъэ,

Уи лъахэм ситмэ,

Дунейм сытеткъэ.

СОЧИНЕНЭ

"Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ,
Хэти езым и Хэкур фIыуэ елъагъу"

Обновлено: 11.03.2023

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ — ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Нало Заур Нало Заур Мухьэмэд и къуэр Аруан районым щыщ Старэ Урыху къуажэм 1.

Описание презентации по отдельным слайдам:

Нало Заур Нало Заур Мухьэмэд и къуэр Аруан районым щыщ Старэ Урыху къуажэм 1.

Махуэр уейщи жьы зэпихум

Махуэр уейщи жьы зэпихум

ЩIымахуэ. 1) ЩIымахуэ мазэхэр фигу къэвгъэкIыж. ЩIымахуэр мазищ мэхъу: декабр.

ЩIымахуэ. 1) ЩIымахуэ мазэхэр фигу къэвгъэкIыж. ЩIымахуэр мазищ мэхъу: декабрь, январь, февраль. 2) Щ1ымахуэм теухуа псалъэмакъ. ЩIымахуэм дунейр щIыIэщ, уэс куу къос, ихъуреягъыр уэсым щIигъэнащ…. Къуажэхьхэр къафщIэ: Уеплъым гъуджэ, уеджэм дэгу (мыл). Ди пщIантIэм пIэтепхъуэ хужь тепхъуащ (уэс). Ди бжэгъу щхьэкIэм джэдыкIэ хужь цIыкIу пылъщ (уэс). Iэди уади зезымыхьэу псым лъэмыж тезылъхьэ (щIыIэ, мыл). ЩабэрыкIуэ мэз кIуэрей (Iэжьэ). ЩIымахуэм теухуа псалъэжьхэр зэвгъащIэ. Гъэм и зы махуэм щIымахуэм уегъашхэ. Гъэмахуэм къыумылэжьар щIымахуэм бгъуэтыжыркъым. Гъэмахуэм умыгъэтIылъа щIымахуэм къэпщтэжыркъым.

1)Щ1ымахуэр къихьащ. 2)Уэсым ихъуреягък1э псори ихуэпащ. 3)Бзухэр –щ1ымахуэм.

1)Щ1ымахуэр къихьащ. 2)Уэсым ихъуреягък1э псори ихуэпащ. 3)Бзухэр –щ1ымахуэм. 4)Унэ-псэущхьэхэр щ1ымахуэм. Къуалэбзухэр-щ1ымахуэм.

ЩIЫМАХУЭ.

Узыншэу фыщытхэ!

  • подготовка к ЕГЭ/ОГЭ и ВПР
  • по всем предметам 1-11 классов

Курс повышения квалификации

Дистанционное обучение как современный формат преподавания

Курс повышения квалификации

Скоростное чтение

Курс профессиональной переподготовки

Русский язык и литература: теория и методика преподавания в образовательной организации

  • ЗП до 91 000 руб.
  • Гибкий график
  • Удаленная работа

Дистанционные курсы для педагогов

Свидетельство и скидка на обучение каждому участнику

Найдите материал к любому уроку, указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:

5 602 605 материалов в базе

Самые массовые международные дистанционные

Школьные Инфоконкурсы 2022

Свидетельство и скидка на обучение каждому участнику

Другие материалы

Вам будут интересны эти курсы:

Оставьте свой комментарий

  • 15.06.2020 3399
  • PPTX 2.5 мбайт
  • 73 скачивания
  • Оцените материал:

Настоящий материал опубликован пользователем Хутова Фатима Ауесовна. Инфоурок является информационным посредником и предоставляет пользователям возможность размещать на сайте методические материалы. Всю ответственность за опубликованные материалы, содержащиеся в них сведения, а также за соблюдение авторских прав несут пользователи, загрузившие материал на сайт

Если Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.

Автор материала

40%

  • Подготовка к ЕГЭ/ОГЭ и ВПР
  • Для учеников 1-11 классов

Московский институт профессиональной
переподготовки и повышения
квалификации педагогов

Дистанционные курсы
для педагогов

663 курса от 690 рублей

Выбрать курс со скидкой

Выдаём документы
установленного образца!

Учителя о ЕГЭ: секреты успешной подготовки

Время чтения: 11 минут

Школы граничащих с Украиной районов Крыма досрочно уйдут на каникулы

Время чтения: 0 минут

Минпросвещения России подготовит учителей для обучения детей из Донбасса

Время чтения: 1 минута

Академическая стипендия для вузов в 2023 году вырастет до 1 825 рублей

Время чтения: 1 минута

Инфоурок стал резидентом Сколково

Время чтения: 2 минуты

Ленобласть распределит в школы прибывающих из Донбасса детей

Время чтения: 1 минута

В приграничных пунктах Брянской области на день приостановили занятия в школах

Время чтения: 0 минут

Подарочные сертификаты

Ответственность за разрешение любых спорных моментов, касающихся самих материалов и их содержания, берут на себя пользователи, разместившие материал на сайте. Однако администрация сайта готова оказать всяческую поддержку в решении любых вопросов, связанных с работой и содержанием сайта. Если Вы заметили, что на данном сайте незаконно используются материалы, сообщите об этом администрации сайта через форму обратной связи.

Все материалы, размещенные на сайте, созданы авторами сайта либо размещены пользователями сайта и представлены на сайте исключительно для ознакомления. Авторские права на материалы принадлежат их законным авторам. Частичное или полное копирование материалов сайта без письменного разрешения администрации сайта запрещено! Мнение администрации может не совпадать с точкой зрения авторов.

Сочинения на кабардинском языке си лъахэ си гущэкъу уэрэд.

1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужуКавказ къуршым къыщхьэщытщИ дахагъэм уемыпъыфуЖьыр къыппеубыд.

Дунейм теткъым зы щ1ыналъиКъэбэрдейм къыпэувын!

И дахагък1и и къабзагък1иАбы къытек1уэн.

Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщАр бгы лъапэхэм къыщ1ож.

Езыр мэзым щ1игъэнащиЖыг абрагъуэхэр къыщок1.

Удзгъэгъау абы къыщык1ымЩ1эи гъуни имы1эж.

Сэ усак1уэу сыщытамэУэрэд 1эджи пхуэзусынтСыщалъхуа сэ си щ1ыналъэрСемызэшуи згъэбжьыф1эн.

Сочинение на немецком языке про лето?

Сочинение на немецком языке про лето.

Сочинение на аврском языке «мой друг»?

Сочинение на аврском языке «мой друг».

Сочинение про зиму на башкирском языке?

Сочинение про зиму на башкирском языке.

Сочинение на табасаранском языке?

Сочинение на табасаранском языке.

Стихи про домашних животных на кабардинском языке пожалуйста очень срочно?

Стихи про домашних животных на кабардинском языке пожалуйста очень срочно.

Текст по кабардинскому жэбэгьы пщ1ыль?

Текст по кабардинскому жэбэгьы пщ1ыль.

Сочинение по кабардинском у я зыку насып?

Сочинение по кабардинском у я зыку насып.

Сочинение на тему «Чем меня заинтересовывает телефон?

Сочинение на тему «Чем меня заинтересовывает телефон?

Бдзэжьей, охарактеризовать любой вид рыбы на кабардинском?

Бдзэжьей, охарактеризовать любой вид рыбы на кабардинском.

Сочинение на тему весна на кабардинском языкеПОМОГИТЕ ПОЖАЛУЙСТА ЭТО СРОЧНО ЧЕРЕЗ 2 ЧАСА СДАВАТЬ?

Сочинение на тему весна на кабардинском языке

ПОМОГИТЕ ПОЖАЛУЙСТА ЭТО СРОЧНО ЧЕРЕЗ 2 ЧАСА СДАВАТЬ.

Нажмите, чтобы узнать подробности

1.Бжьыхьэр гъэм и зэманщ. Ар мазищ мэхъу: фок1адэ, жэпуэгъуэ, щэк1уэгъуэ. Бжьыхьэм тхьэмпэхэр зэмыфэгъу мэхъу, къыпощэщыж. Къэк1ыгъэхэм гъужын щ1адзэр а гъэм. Бзухэр мэлъэтэж. Хьэпщхупщхэм бжьыхьэр къыщихьам деж загъэпщк1уж.

Гъатхэ дыгъэм кIагъуэпскIэ уегъэпскIри, бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрекIэ.

Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж.

Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым.

Гъатхэм пасэу пщ1эр бжьыхьэм и гъуэу мэхъу.

Бжьыхьэ жэщ щэрэ минщ.

Ипщэк1э уплъэмэ, цей плъыжь къедзащ. (пшэплъ)

Къэрабэ плъыфэщ, уафэм едзэк1ащ.(пшэплъ)

Фыз ф1ыц1э нэгъуд, щ1ым дыд хэзы1у. (уэшх)

Хэт уафэм пк1элъей езыдзу дэк1уеяр. (уэшх)

Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щlагъуэ щыIэну­къым, пшэрмэ, уэсышхуэ щыIэнущ, жаIэрт.

Бжьыхьэм деж, нэху мыщ щIыкIэ, вагъуэбэр пхъэщхьэ­кIэм и гъунэгъу хъуамэ, пхъэ щхьэкIэр мэдийри, жыгым и хэхъуэныгъэр абы щоувыIэр, тхьэмпэр къы­пыхуу щIедзэ,- бжьыхьэм щIидзащ, жаIэрт.

Нало Заур
Бжьыхьэр бейщ

Гъэ лэжьыгъэр зэхуехьэсри
Бжьыхьэм Ӏэзэу егуэшыж,
ЩӀым къарууэ епхьэлӀари
Нартыху сэмбым къыдокӀыж.
ЦӀыху лэжьыгъэр, дыгъэр тепсэм,
Къэгъэгъэни хулъэкӀынщ,
Ауэ бжьыхьэм зэрынэсу
МыӀэрысэу къыпыпчынщ.
Щыбгъуэтынкъым бжьыхьэм нэхърэ
Мы ди щӀылъэм щынэхъ бей,
Уеблэм гъатхэм къалъхуа щынэр
Бжьыхьэм мэхъур мэл домбей!
Бжьыхьэ тыгъэр хьэлыгъуанапхъэу
Щхьэлым яшэри щахьэж,
Е къэбищэу — жэп техауэ –
Фи бэкхъыщхьэм тотӀысхьэж.

Си Нальчик къалэ хуэмурэ къоушыр

Ленин уэрамым сэ сытетщ

Уэрамхэр захуэщ, жыгхэр дахэщ,

Къыдоплъэр къалэм Кавказ къурш.

Уафэгур къабзэщ, нэжэгужэщ,

НэщхъыфIэу дыгъэри къыкъуокI.

И нурхэр месыр тепыIэншэу

Жыгыщхьэм ислъэмей щоджэгу.

ПщIащэ къуэлэнхэр къытехьащи,

1ущащэу уджыр ирашэкI.

Алэрыбгъу дахэу зэуфэбгъуащи,

Бжьыхьэм джэгушхуэр иращIэкI.

Месыр гъэмахуэр къэтэджауэ

Ирегъэблагъэ жьантIэм ар,

Бжьыхьэри пащIэм щIэгуфIыкIыу

Унафэ щIыныр зэIэпаххэр.

Бжьыхьэр къихьащ. Дыгъэр нэхъ мащ1эу къопс, махуэми хэщ1ащ. Уэшхыр къопсэпсауэр. Нэхъ щ1ы1и къэхъуащ.

Жыгхэми я щыгъын удзыфэ дахэхэри хуэмурэ гъуэжьыфэ мэхъу, къыпохухэр.

Псэущхьэхэми лъэныкъуэ зрагъэзыж. Къуалэбзухэр щ1ып1э хуабэхэм мэлъэтэж, хьэпщхупщхэри плъагъужыркъым.

Мы проектыр дэ1эпыкъуэгъу хъунущ бжьыхьэм теухуауэ лэжьыгъэ щыбгъэхьэзырк1э. Си лэжьыгъэм хэтщ псалъэжьи, нэщэни, къуажэхьи, уси, сочинени. А тхыгъэхэмк1э къэтщ1эжащ бжьыхьэр зэры зэман дахэр.

Читайте также:

      

  • Темный ельник снегами как мехом опушили седые морозы сочинение
  •   

  • Сочинение язык что одежда сочинение
  •   

  • Сочинение про ноль и единицу
  •   

  • Почему я не люблю читать сочинение
  •   

  • Сочинение мастер на все руки

«Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъу»

« Си Хэку,

Ппэсщ1ыни сгъуэтынкъым,

Хэт къыптек1уэну дахагък1э?

Сыпхуэусэнуи сешынкъым,

Си адэжь Хэку, гъэ минк1э!»

( Гъуэщокъуэ Хъусин.)

Сыту мыхьэнэ куэд и1э Хэку псалъэм! Дунейм ц1ыхуу тетым хьэуа къабзэр яшэн зэрыхуейм хуэдэу , Хэкуи я1эн хуейуэ сэ къызолъытэ.

Хэкур- анэщ , псэщ, дыкъыздалъхуа щ1ыналъэщ. Сабийр дунейм къызэрытехъуэу и анэ быдзышэм хэту зыхешэ Хэкум и лъагъуныгъэр. Дыкъыздалъхуа щ1ыналъэм пэжыжьэ дызэрыхъуу, дыхуезэшу щ1ыдодзэ. Дыхуэзэш къуажэ уардэм, ди ц1ыху щыпкъэхэм, ди къэк1ыгъэ дахэхэм, ди псы жьгъырум. Дыхуозэш , сыту жып1эмэ дэ абы дыщыщ 1ыхьэщ. Сэ си Хэкуу собж сыкъыщалъхуауэ сызыщыпсэу си къуажэ дахэу –Куэш-Хьэблэ. Си щ1ыналъэ дахэ, сыт хуэдэ лъагъуныгъэ пхузи1э сэ уэ! Дунейм и щ1ып1э нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ ди щ1ыналъэр. Хэт и1э ди къурш дахэхэм хуэдэ, ди псы уэрхэм я къабзагъэм хуэдэ?

Сыт хуэдэ мыхьэнэ щи1э Хэкум ц1ыхум и гъащ1эм? Сытым ищ1ыс ц1ыхур Хэку имы1эмэ? Гъащ1эр мыхьэнэншэ мэхъу. Анэншэ гъащ1эр к1ыф1 зэрыхъум хуэдэщ, Хэкур пф1эк1уэда нэужь.

Хэкур ди гъащ1эм и зэманым и илъэс нэхъыф1хэр здек1уэк1а здек1уэк1а щ1ыналъэщ, ар ди щ1алэгъуэр здэдгъэк1уа щ1ып1эщ. Нэхъыжьхэм дэ зыхыдагъэубыдэ дысабий щ1ык1э ди адыгэ хабзэф1хэр, игъащ1эк1э адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уахэр.

Гъуэщокъуэ Хъусин жи1ауэ щытащ: « Хэкум худи1э лъагъуныгъэр къыщ1едзэр унагъуэм и деж». Унагъуэм зэгуры1уэныгъэ илъмэ, нэмыс, пщ1э я1эмэ, бынри гъэса мэхъу. Сэ хуабжьу срогушхуэ сыкъызыхэк1а лъэпкъымрэ унагъуэмрэ. Сэ ди унагъуэм ис нэхъыжьхэм ядэслъэгъуащ хабзэф1 куэд, зыхэзубыдэмэ къысщхьэпэжынк1э къэслъытэу. Ныбжьыщ1эм и унагъуэм щ1эсым пщ1э яхуищ1мэ, и лъэпкъми, и Хэкуми пщ1э хуищ1ынущ. Дэнэ къыздыщ1идзэр Хэкур? Сэ сыщыщщ адыгэ лъэпкъым. Си Хэкумрэ лъэпкъымрэ гугъуехь куэд зышэчам ящыщщ, ауэ лъэгуажьэмыщхьэу зэи ягъэувыфакъым. Икъухьащ иджыпсту си лъэпкъэгъу куэд дунеишхуэм, ик1и сэ ар хуабжьу сигу къоуэ. Ауэ дэ псори догугъэ лъэпкъыр зы дыхъужыну, ди хэкуэгъухэми къагъэзэжыну.

Дэ иджыри дысабийщ, ик1и дунейм псори тыншу тет къытщохъур. Псом япэрауэ, ди Хэкум пщ1э хуэтщ1ын хуейщ, деджэу, абы и щ1ыхьыр ину зэрыт1этыным дыхущ1экъун хуейщ. Щ1эблэм зэдгъэщ1эну ди пщэ илъщ лъэпкъым и къек1уэк1ык1ар,

и блэк1ар. Дунейм тету къыщ1эк1ынкъым зы лъэпкъ ди хабзэф1хэм хуэдэ зи1э. Л1эщ1ыгъуэ куэдк1э къыдогъуэгурык1уэ ахэр лъэпкъым. Ди щ1эблэ къытщ1эхъуэнум хуэтхъумэн хуейщ ди хабзэ дахэхэр. Илъэс бжыгъэ куэдк1э щ1эбэнащ адыгэр и щхьэхуитыныгъэм ик1и хуэмыфащэу ирагъэбгынащ и Хэкур.

Ауэ дэ иджыпсту ди щ1эблэр хуиту допсэу, доджэ, долажьэ. Гукъеуэншэу дызэрыпсэум я ф1ыщ1э хэлъщ Хэку зауэшхуэм зи щхьэ зыгъэт1ылъа ди лъэпкъэгъухэм. Абыхэм я псэр ятащ, дэ тыншыгъуэр къытхуалъэщу. Зауэ дыджым и гуауэр здынэмыса щ1ыналъи, унагъуи къэнакъым. Илъэс бжыгъэ тек1ыжами , дэ а л1ыхъужьхэр тщыгъупщэжынукъым зэи , сыт щыгъуи дигу илъынущ. Сыт дунеим дыщ1ытетыр? Сыт хуэдэ мыхьэнэ и1э ц1ыху гъащ1эм? Сыт хуэдэ лъэужь къэдгъэнэфыну? Дэ куэдрэ дызоупщ1ыж. Упщ1эхэм жэуап еттмэ, жы1эпхъэщ: ди унагъуэм , 1ыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм ядэ1эпыкъун хуейщ. Ди Хэкур, къуажэр, дунейр хъумэн хуейщ. Ди къэралым и мылъкум хэгъэхъуэн хуейщ. Дэращ, щ1эблэрщ , абы хуитыр.

Сэ сыхуейщ щ1алэгъуалэр къыхуезджэну ди Хэкур зэрытхъумэжын хуейм. Хьэуар къабзэу, дунейр нэхуу щытыным папщ1э, тлъэк1 къэдмыгъэнэну. Дызэкъуэтмэ — дэ дылъэщщ! Дызэкъуэту ялъагъумэ, зыри къыттегушхуэфынукъым ик1и ди гугъу ящ1ынукъым.Псоми тхузэф1эк1 гуэрк1э ди Хэкум и сэбэп къэтхьмэ,ар хэлъхьэныгъэшхуэ хъунущ. Согугъэ ди Хэкум зиужьыну махуэ къэс, нэхъ дахэ, нэхъ лъэщ хъуну. Дэрк1э нэхъапэр – еджэнращи, тлъэк1 къэдмыгъанэу деджэнщи ди лъэпкъым, Хэкум сэбэп къыхуэтхьынщ.

Насыпышхуэу солъытэ Хэкум ухуэфащэу упсэуныр.

Хэхъуэ, зыузэнщ1, си Хэку дыщэ!

  1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу   Кавказ къуршым къыщхьэщытщ   И дахагъэм уемыпъыфу   Жьыр къыппеубыд.   Дунейм теткъым зы щ1ыналъи   Къэбэрдейм къыпэувын!   И дахагък1и и къабзагък1и   Абы къытек1уэн.   Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ   Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож.   Езыр мэзым щ1игъэнащи   Жыг абрагъуэхэр къыщок1.   Удз гъэгъау абы къыщык1ым   Щ1эи гъуни имы1эж.   Сэ усак1уэу сыщытамэ   Уэрэд 1эджи пхуэзусынт   Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр   Семызэшуи згъэбжьыф1эн

(19 оценок)

                                          Балъкъ псыхъуэ хуэзэу къэт1ысауэ,
                                           Дахагъэ псори зэщ1икъуауэ,
                                            Къыщысщ си къуажэу дахэк1ейр
                                           Си Къамылыкъуэу си дунейр.
                                                               «Къамылыкъуэ»,Махуэл1 Б.

  Ц1ыхум бгъэдэлъ,зэрихьэ дахагъэм къежьап1э егъуэт.Сэ къызэрысщыхъумк1э,дахагъэу схэлъыр зи ф1ыщ1эр сыщалъхуа Къамылыкъуэрщ.Си къуажэр дыгъэ-нагъуэм пызогъэлыд,абы хуабагъэр и куэдщ,къабзагъэр и гъунэжщ.Зи лъэр быдэ,хабзэр бзыпхъэ дахэу щыслъагъу си къуажэр гъащ1эм добакъуэ,ар жьапщэ инми поувыф,зэман хьэлъэми и дахагъэр щ1ылъэм треугуашэ.
 Къуршыщхьэ уэсыр зи къабзагъэ Къамылыкъуэм къамыл щ1ып1эр унагъуэ-лъапсэ зэрыхуэхъурэ зэманыф1 дэк1ащ.А зэманым къыщыщ1эдзауэ къуажэм зи ц1эр ф1ык1э къыра1уэ,щапхъэу сыт зэманми къэпхь хъун унагъуэ куэд дэсщ.Абы папщ1э ф1ыуэ солъагъу си къуажэр.Дауэ умылъагъунрэ-т1э,уи япэ лъэбакъуэр зытеува щ1ыналъэр,зи псынэпск1э уагъэпск1а,зи щ1ыхьк1э хабзэ-нэмысым щыгъуазэ узыщ1а къуажэр?!Ф1ыщэущ зэрыслъагъур!Сыхуейт си Къамылыкъуэр езгъэщхьыну жыгым.А жыгым и лъэхъц-лъащ1эхэр зэрызэрыубыдрэ зэманыф1 дэк1ащ,и пкъыр уэгум хуо1э.Къыщ1эж-ныщ1эж зыбжанэхэри и1эщ.Жыгым пыт къудамэхэми тхьэмпэ ц1ык1ухэри къапок1э.К1эщ1у жып1эмэ,мэпсэу,гъащ1э къегъащ1э.Нарт л1ы хахуэ хъыжьэхэми я таурыхъхэр,л1ыжь жьак1эшхуэхэм я хъуэхъу псалъэхэр,тхьэ1ухуд хъыджэбзхэм я дахагъэ,бжьыф1агъэ псори си къуажэрщ щызэхэсхар.Си къуажэрщ япэу кхъуейжьапхъэр тхъупсым зэрихьэу,хугу п1астэр шыпсым бгъэдэлъу,щынэлым бахъэр щхьэщыту,нанэми 1эф1ык1эр игуэшу,сабийхэри гуф1эм иубыдауэ щыслъэгъуар…
Куэдрэ сигу къок1ыж къуажэ Щэнгъасэм и унэм хабзэм,нэмысым,ук1ытэм,1улыджым теухуа пшыхьхэр,зэхьэзэхуэхэр,зэпеуэхэр зэрырагъэк1уэк1ыу щытахэр.Нобэк1и ахэр щ1эгъэкъуэн мэхъу жьэгу пащхьэм къитэджык1 щ1алэгъуалэр гъащ1эм дек1уу псэунымк1э.
 Дахагъэр куэду дэлъщ къуажэм.Ар болъагъу къуажэ ц1ык1ум и теплъэмк1и,щыпсэу ц1ыхухэмк1и.Гу къабзэ,псэ хьэлэл зи1э къуажэм уригушхуэнкъэ?!Хэку зауэшхуэм къуажэдэсхэм яхэлъа гущ1эгъуми ар ф1ыуэ сегъэлъагъу.Фашистыдзэм пэщ1эувэну къуажэм дэк1ащ ц1ыху щэрэ т1ощ1рэ блырэ,къэзыгъэзэжар ц1ыху тхущ1щ.Ф1ыц1агъэм пэщ1эува дэтхэнэ зыми л1ыгъэ зэрихьащ.Апхуэдэщ,псалъэм папщ1э,Къанкъул Данял.Данял Белоруссием и щ1ыналъэм бийм и щ1ыбк1э къызэрагъэпэщауэ щыта  партизан гупхэм ящыщ зым и унафэщ1у щытащ.Абы щызэрихьа л1ыгъэхэми папщ1э къыхуагъэфэщащ Къэрал дамыгъэ лъап1эхэр,капитан ф1эщыгъэц1эри и1эу къигъэзэжащ абы.Къанкъулым ещхьт адрейхэри.Ахэр Тэрч щыщ1эдзауэ Берлин нэс к1уахэщ.Мащэр къэзыт1а хьэщхьэры1уэдзэр мащап1э ирагъэхуэжахэщ.
 Зауэ маф1эм и лыгъэм занщ1эу зеубгъу.Пэщ1эт имы1эмэ,псори ф1ыц1агъэм хуешэ.Нэмыцэ фашистыдзэм и маф1эри пэщ1эк1уэтакъым си къуажэми.Къамылыкъуэр мазитху нэблагъэк1э я1ыгъащ абыхэм.Къуажэм узэплъ хъун къэмынэу зэтракъутат.Абы щхьэк1и къэмынэу къуажэдэсхэр щ1эгъэкъуэнышхуэ хъуахэщ зауап1э 1эна1э 1ут ц1ыхухэм папщ1э щыгъын хуабэхэр,пы1э,1элъэ,вакъэ,лъэпэдхэр ягъэхьэзырурэ хурагъэшащ,ахъшэ-бохъшэ щымысхьу сэбэпынагъ зэращ1эну 1уэхум пылъащ.Къуажэр езыр щаубыдар 1942 гъэрт,август мазэрт.Колхозым гъавэр 1уихыжыфатэкъым.Ауэ абыик1 пэлъэщыфащ къуажэдэсхэр.Гъавэр 1уахыжащ сабийхэми,балигъхэми.Къуажэдэсхэм гущ1эгъу ин зэрахэлъым мыри и щыхьэту къэпхь хъуну си гугъэщ.А зэман бзаджэм Ленинград  блокадэм къырашауэ щытащ ц1ыху т1ощ1ым щ1игъу.Унагъуэхэм ахэр щагъэпщк1уат.Гъэщ1эгъуэныр аращи,нэмыцэхэм ямылъагъуу ахэр яхъумэфащ.Къуажэр хуит хъужа нэужь, Псыхуабэ яшэри, маф1эгум ирагъэт1ысхьэжахэщ.Иджыпсту а зэманым дриплъэжмэ жыдо1э къуажэр гугъу ехьауэ.Ауэ девгъэгупсысыт -сыт хуэдиз ц1ыхум я гъащ1эр ята дэр папщ1э,гъатхэм гъагъэ жыгыщ1эм и мэ гук1уэм драгъэпэмын папщ1э сыт хуэдизыпсэ хей хъуа…
Ныжэби ди уафэр къбзэу
Мамыру нэху дыкъек1ащ.
Ди дыгъэ -нагъуэр бзэрабзэу
Щ1эщыгъуэу бгым къыкъуэк1ащ…
 Къуажэр ф1ыуэ лъагъуныр абы и теплъэ закъуэмк1э зэф1эк1ыркъым.Ар иджыри епхыщ абы щыпсэу унагъуэхэми.Унагъуэр зэгуры1уэу щытыныр куэдым пыщ1ащ.Ауэ адыгэ хабзэр  бзыпхъэ дахащэу здилъ,гъащ1эм дэбакъуэу псэу унагъуэм пэлъэщыфынукъым зырик1.Зэгуры1уэрэ зэдэ1уэжу псэу унагъуэм нэхъыф1 щы1экъым.Абы къуажэм и пщ1эр е1эт,ар ф1ыуэ уегъэлъагъу.
 Нобэрей гъащ1эр жэнэт пщ1ащэ зыхуэхъуа ц1ыху щэджащэхэми ф1ыуэ сагъэлъэгъуащ си Къамылыкъуэр.Абыхэм ящыщщ си адэшхуэ-анэшхуэхэр,благъэхэр,1ыхьлыхэр,къуажэ курыт егъэджак1уэхэр,усак1уэхэр,къэфак1уэхэр,уэрэджы1ак1уэхэр.Си къуажэм и пщ1эр я1этащ куей щ1ынылъэхэм,республикэм,Урысей утыкум зи дахагъэр,зэчийр лъэныкъуэ зыбжанэк1э налкъутналмэсу щызыгъэбла ц1ыхухэм.Ину берычэтыр яхуэфащэщ!
 Пщэдджыжь дыгъэпсым жьыуэ укъэтэджрэ уэрамыкум уиувэрэ уэс тхьэмадэ 1уащхьэмахуэр хъуэхъуф1к1э зыхуэупсэ къуажэр дауэ ф1ыуэ умылъагъунрэ?!Ф1ы нэщэнэу 1уащхьэмахуэр-къуажэм,лъэпкъым сытк1и тхуремахуэ!
 Ипэк1э зэрыжыс1ащи,си къуажэр изогъэщхь жыгым.Абы и пкъыр мэж,тхьэмпэхэм заукъуэдий,зашэщ1,зо1ущащэ.Жыгыр и чэзум къот1эп1,мэщхьэлъэ.Кумылэ,жылэ,хъугъуэф1ыгъуэ зэрылъ купкъхэм пхъэщхьэмыщхьэ,дахагъэ ирещ1э си Къамылыкъуэр мык1уэдыжын папщ1э.Унагъуэ-лъапсэр къуажэм зэриубыдрэ ,абы дэтхэнэ лъэныкъуэмк1и къыщхьэщытщ хъумак1уэ бгы лъагэхэр,мэз,губгъуэ инхэр,псы къыщ1эжхэр и гъунэжщ.Балъкъ псыхъуэ ежэхым и даущым ущ1ожеик1,къуалэбзу бзэрабзэхэм къыраш уэрэд ц1ык1ухэм псэр ягъэп1ейтей.Дахагъэр куэду зи1э къуажэм адыгэ гъащ1эм пщ1э лей хуещ1.Абы си псэр ещ1 къулей,се1эт,сегъэгуф1э,сегъэгушхуэ,къызет къаруушхуэ.Ц1ыхугур ц1ык1уми-Къамылыкуэм-хухэсхащ щ1ып1эшхуэ.Нытестхащ абы и ф1эщыгъэц1эр сэ 1уащхьэмахуэшхуэ!
Махуэл1 Беслъэн.

Слайд 1Учебно-методическая разработка
МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба

Учителя первой категории

Хамуковой Мадины Хабасовны

Учебно-методическая разработка

Учебно-методическая разработкаМОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба           Учителя


Слайд 3Эпиграф
Узолъагъур си псэм хуэдэу,
Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
Хабзэ

дахэр зи лъэпкъ напэу
АдыгэщIу дыгъэ нэкIу.

Къанкъул ФIыцIэ.

Эпиграф Узолъагъур си псэм хуэдэу, Къэбэрдейуэ нартыжь хэку, Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу АдыгэщIу дыгъэ нэкIу.


Слайд 4Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
Мурадыр:
Хэкум и

беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ

лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;
Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.

Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.Мурадыр:Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;Усак1уэм и


Слайд 51. Литературнэ дакъикъэ.

Щомахуэ А. «Ди Хэкур».

Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
И дахагъри хэт зымыщ1эр!
Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
Игу къонэжыр ар зылъагъум,
Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.

1. Литературнэ дакъикъэ.


Слайд 62. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
Аддэ, зы зэман

гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1

и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.
Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.

2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ


Слайд 73. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
Уи Хэкур

лъэщмэ, урогушхуэ.
Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
Хэкум

емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
Бзури и абгъуэ щытепщэщ.

3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжьУи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.Хэти езым и Хэкур


Слайд 8Адыгэ литературэ
3 — нэ класс
КIуащ БетIал «СИ

ХЭКУ»

Адыгэ литературэ 3 - нэ классКIуащ  БетIал


Слайд 9 КIуащ БетIал

и хронологическэ таблицэ

КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ


Слайд 10 4. Словарнэ лэжьыгъэ:

Къыр таж

— жыр мывэ блын лъагэ
Къунан — илъэсищым

ит шыщIэ мыгъасэ.
Акъужь – жьапщэ.
Гуэн – гъавэ хъумап1э.
Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.

5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:

4. Словарнэ лэжьыгъэ:   Къыр таж - жыр мывэ блын лъагэ   Къунан


Слайд 11Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр,
Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр

птеплъэ нэр!

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр!


Слайд 12Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу,
Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож

уи Есэнт1ыгу.

Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.


Слайд 13Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей,
Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ

турбинхэр пхуагъэхъей.

Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.


Слайд 14Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.

Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.


Слайд 15Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.

Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.


Слайд 16Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ,
К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм

щхьэщитхъащ.

Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.


Слайд 17Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб,
Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр

убзэншэу уощ1 1эрып1.

Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб,  Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.


Слайд 18Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у,
Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми

уопэк1у.

Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.


Слайд 19Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн!
Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи

щ1ым гуэн!

Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!


Слайд 20Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ,
Аузхэм щыбэщ

мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.

Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ,   Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.


Слайд 21Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт,
Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и

сурэт.

Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.


Слайд 22Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж,
Нарт лъэпкъыу уил1

жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.

Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.


Слайд 23Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф,
Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм

зэхотыф.

Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.


Слайд 24Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей,
Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи

ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!

Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей,  Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!


Слайд 25Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт.
1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым

къызыхуэт.

Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.


Слайд 26Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр!
Кавказым и щ1ы

ф1ыгъуэ,
Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!

Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ,   Уи теплъэм 1эф1 ещ1


Слайд 276. Яджар егъэбыдыл1эн:
Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
Упщ1эхэм жэуап иратурэ

къазэрыгуры1уар къапщытэж;
Дызыгъэгуф1эр;
Дызэрыгушхуэр;
Дызэрыпагэр.

6. Яджар егъэбыдыл1эн:Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;Дызыгъэгуф1эр;Дызэрыгушхуэр;Дызэрыпагэр.


Слайд 28« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
«Къэхъугъэм и епэр»
«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
«Лэгъупуэ

из мазэгъуэр»
«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
«Аузхэм щызэрахуэ
Iэщ

бжыгьэр вагьуэ лъытщ»
«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
«Хы щхьэфэу мэбырыб»
«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»

Зэгъэпщэныгъэхэр:

« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»«Къэхъугъэм и епэр»«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ, «Жьак1ацэу щхьэмыж


Слайд 29«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
«Уи ныджэм щопIейтей»
«Уи губгъуэр зэрахьащ»
«ДыгъэщIэм

щхьэщитхъащ».
«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»
«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
«ЩолъапIэр

гуфIэ блынхэм»

Къэгъэпсэуныгъэхэр:

«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»«Уи ныджэм щопIейтей»«Уи губгъуэр зэрахьащ» «ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».«1уащхьэмахуэ плъыр


Слайд 30«Дыщэ губгъуэ»
«Псы 1элхэр»
«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
«ЩIыпIэ дэгухэм»
«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».

Эпитетхэр:

«Дыщэ губгъуэ»«Псы 1элхэр»«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»«ЩIыпIэ дэгухэм»«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».		Эпитетхэр:


Слайд 31Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ,
ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.

Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.


Слайд 32Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.

Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.


Слайд 33Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.

Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.


Слайд 347. Урокым и итог:
Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
Хэкур ф1ыуэ лъагъун,

егъэф1эк1ун;
Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын

8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.

7. Урокым и итог:Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.


«Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».

Дэтхэнэ зы лъэпкъми и псэр — бзэрщ. Бзэр зэрызэпсалъэ, зэрызэгуры1уэ, дунеир къозыгъащ1э 1эмэпсымэщ. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр. Ц1ыхубэм ф1ыгъуэу зэригъэпэщахэм я нэхъ лъап1эщ л1эщ1ыгъуэк1эрэ къыдэгъуэгурык1уэ и анэдэлъхубзэр. Бзэм епхащ ц1ыхубэм ехъул1эныгъэу зы1эрагъэхьахэр, абы адэк1э и дунейм зэрызиужьынури аращ зэлъытар. Бзэр имы1эмэ, абы гъащ1и и1энукъым. Бзэр имы1эмэ, лъэпкъым и лъэпкъыгъэр ф1ок1уэд, ар адрейхэм яхошыпсыхьыж.

Зэрыжа1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Пэжщ, ипжк1э зэрыжыс1ащи, къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
«К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» — аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.

Адыгэбзэр бгъэлъэп1эн, бгъэбэгъуэн, бгъэбзэрэбзэн папщ1э, уадыгэ нэсу, адыгагъэ пхэлъу, адыгэлъ пщ1эту ущытын хуейщ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми бзэр зы1эщ1эдгъэк1, 1эщ1ыб тщ1ы хъунукъым. Ди бзэр ф1ыуэ тщ1эуэ, бзэм зедгъэужьыну дэрэжэгъуэу ди1эу дыщытын хуейщ. «Бзэр зэм нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ» жыхуа1э псалъэжьыр зэик1 зэщыдгъэгъупщэ хъунукъым. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъэгъун, егъэджын, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэм ЮНЕСКО – м мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э. 

Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, зэрагъэузэщ1у щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.

Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ. Ауэ а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ.

— Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.

Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Сыхуейт Тхьэгъэзит Зубер и усэк1э сыухыну:

Анэдэлъхубзэр ущымыIатэм

Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат

Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,

Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.

Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,

Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.

Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи

Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.

Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!

Like this post? Please share to your friends:
  • Си егъэджак1уэ сочинение на кабардинском
  • Си бзэ дахэу адыгэбзэ сочинение
  • Си 235 это марка приемника моего детства сочинение егэ
  • Си 235 это марка приемника моего детства решу егэ
  • Сзкс сериал инста экзамены