Описание презентации по отдельным слайдам:
-
1 слайд
Нало Заур
Нало Заур Мухьэмэд и къуэр Аруан
районым щыщ Старэ Урыху къуажэм
1928гъэм къыщалъхуащ.Абы и1эдакъэ
къыщ1эк1ащ тхыгъэ зыбжанэ куэд
адыгэбзэк1и урысыбзэк1и. «Усэхэр»,
«Бзухэм я бзэ», «Аслъэныкъуэ»,
«Къуалэбзухэр», «Зэрыджэхьэ»,
«Джэгу зэхэшэ», «Ц1ыху напэ»,
«Щ1ымахуэ» нэгъуэщ1хэри . -
2 слайд
Махуэр уейщи жьы зэпихум
-
3 слайд
ЩIымахуэ.
1) ЩIымахуэ мазэхэр фигу къэвгъэкIыж.
ЩIымахуэр мазищ мэхъу: декабрь, январь, февраль.
2) Щ1ымахуэм теухуа псалъэмакъ.
ЩIымахуэм дунейр щIыIэщ, уэс куу къос, ихъуреягъыр уэсым щIигъэнащ….Къуажэхьхэр къафщIэ: Уеплъым гъуджэ, уеджэм дэгу (мыл).
Ди пщIантIэм пIэтепхъуэ хужь тепхъуащ (уэс).
Ди бжэгъу щхьэкIэм джэдыкIэ хужь цIыкIу пылъщ (уэс).
Iэди уади зезымыхьэу псым лъэмыж тезылъхьэ (щIыIэ, мыл).
ЩабэрыкIуэ мэз кIуэрей (Iэжьэ).ЩIымахуэм теухуа псалъэжьхэр зэвгъащIэ.
Гъэм и зы махуэм щIымахуэм уегъашхэ.
Гъэмахуэм къыумылэжьар щIымахуэм бгъуэтыжыркъым.
Гъэмахуэм умыгъэтIылъа щIымахуэм къэпщтэжыркъым. -
4 слайд
1)Щ1ымахуэр къихьащ.
2)Уэсым ихъуреягък1э псори ихуэпащ.
3)Бзухэр –щ1ымахуэм.
4)Унэ-псэущхьэхэр щ1ымахуэм.
Къуалэбзухэр-щ1ымахуэм. -
-
-
-
-
-
-
-
12 слайд
ЩIЫМАХУЭ.
1.Щ1ымахуэ пщэдджыжьыр
сыт хуэдэу къыхэщрэ рассказым?2.Залым и махуэхэр дауэ игъак1уэрэ?
3.Залым дауэ ежэхрэ бгым лыжэк1э?
4.Ипэк1э щ1ымахуэм сыт хуэдэ гузэвэгъуэ ц1ыхухэм къахилъхьэу щытауэ жи1эжрэ
Залым и адэм? -
13 слайд
Узыншэу фыщытхэ!
Темэр. Бзэм зегъэужьын. Изложенэ «Щ1ымахуэ
мэзым».
Мурадыр. Я бзэм, тхыбзэм, зэф1эк1ым зегъэужьын.
Яджа пэжырытххэм я хабзэхэр къагъэсэбэпурэ изложенэм и текстым
пэгъунэгъу хъыбар ятхыфу есэн.
Урокыр
зэрек1уэк1ынур
1. Урокым зэрыхуэхьэзырымк1э (зэрылэжьэну 1эмэпсымэхэмк1э къызэрызэгъэпэщар)
еджак1уэхэм зыкъегъэпщытэжын.
2. Изложенэм елэжьын.
1) Изложенэм къахуеджэн.
Щ1ымахуэ
мэзым
Уэсыр лъэгуажьэм къэсу куущ ик1и
быдэщ. Дэ мэз гъунэ дыдэм дыщытщ. Мы щ1ып1эр дэ куэдрэ тлъэгъуащ, ауэ къытхуэц1ыхужыркъым.
Дэнэ к1уа мыбы дежым ита хьэцыбанэ гуэрэн къомыр? Зыгуэрым ириупщ1ык1ауэ ара?
Хьэуэ, ахэр иджыри итщ. Ат1э плъагъуркъым. Ахэр хьэщхьэтеуэм щ1ым нэсу
къришэхри уэс куум щ1игъэнащ. Езы мэз дыдэри гъэмахуэм е бжьыхьэм зэрыщытам
ещхьыжкъым. Кхъужьей лъагэхэри, мей къудамэшхуэхэри, пыжьей банэхэри-псори
хужьыгъэм щ1игъэнащ. Мэз щ1агъыр нэщ1щ ик1и щымщ. Зэзэмызэ хьэщхьэтеуэм
къришэха къудамэхэр жьы къыкъуэуам зэхегъэщ1ыщ1э. Уэс щ1ы1ум лъэужь куэд и1эщ.
Ар тхьэк1умэк1ыхьхэм, бажэхэм, дыгъужьхэм я лъэкъуап1эщ.
2) Зи тхык1эм щхьэхуэу
щыгъуэзапхъэ: гуэрэн, хьэщхьэтеуэм, зэхегъэщ1ыщ1э, лъэкъуап1эщ
3) Текстым план хуэгъэувын.
1.
Уэсыр куущ.
2.
Мэз гъунэм дыщытщ.
3.
Дэнэ к1уа хьэцыбанэ гуэрэн
къомыр?
4.
Псори хьэщхьэтеуэм щ1игъэнащ.
5.
Мэзыр нэщ1щ ик1и щымщ.
6.
Уэс щ1ы1ум лъэужь куэд и1эщ
4) Планымк1э текстыр сабийт1-щым къыжегъэ1эжын.
3. Изложенэр егъэтхын.
4. Унэ лэжьыгъэ.
Правилэхэр къэпщытэжын.
Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение «Средняя общеобразовательная школа №17» г.о.Нальчик КБР
Нало Заур «Щ1ымахуэ»
(епл1анэ классым щек1уэк1а урок зэ1ухам и план-конспект)
Адыгэбзэмрэ литературэмк1э егъэджак1уэ
Щад Эммэ Жыраслъэн ипхъу
Налшык 2019 гъ.
Темэр: Нало Заур «Щ1ымахуэ» (епл1анэ класс)
Мурадхэр:
-
щ1ымахуэм и теплъэр, и щ1ытык1эр усак1уэм и творчествэм 1эзагъэшхуэ хэлъу къызэрыщыгъэлъэгъуам еджак1уэ ныбжьыщ1эхэр к1элъыгъэплъын;
-
къэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу зэхъуэк1ыныгъэхэм теухуауэ я1э щ1эныгъэхэр егъэбыдыл1эн, дахагъэр сабийхэм зэхегъэщ1эн, ар хъумэн, егъэф1эк1уэн зэрыхуейм хуэгъэсэн;
-
тхыгъэм къеджэнымк1э яхузэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн, я бзэм зегъэужьынымк1э лэжьыгъэхэм пыщэн;
-
еджак1уэ ц1ык1ухэр гуп лэжьэк1эм, зэдзыл1ауэ зэгъусэу лажьэу егъэсэн.
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр: интерактивнэ доска, компьютер, проектор, Нало Заур и творчествэмк1э презентацэ, щ1ымахуэ зэманым теухуа видеотеплъэгъуэхэр, еджак1уэхэм ягъэхьэзыра 1эрыщ1 тхылъ ц1ык1ухэр, ящ1а сурэтхэр.
Урокыр зэрек1уэк1ынур
I. Урокым хэзышэ дакъикъэ
1.Сэлам зэхын, гъэт1ысын, урокым и мурадхэм щыгъуазэ щ1ын.
2.Щ1ымахуэ зэманым теухуа видеотеплъэгъуэхэр къэгъэлъэгъуэн. (еджак1уэхэм ящ1а сурэтхэр къагъэсэбэпурэ щ1ымахуэ теплъэгъуэхэм топсэлъыхь)
3. Щ1ымахуэм теухуауэ урысыбзэк1э ящ1э таурыхъхэр адыгэбзэк1э къегъэ1уэтэжын. «Двенадцать месяцев», «Снегурочка»
II. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын
1.Еджак1уэхэм ягъэхьэзыра «Щ1ымахуэ» зи ф1эщыгъэц1э тхылъ 1эрыщ1хэм, гуп-гупу гуэшауэ тегъэпсэлъыхьын. (зытепсэлъыхьыр нэхъ куууэ зэхащ1эн папщ1э, щ1ымахуэм ехьэл1а макъамэ хуэму къегъэуэн)
III. Темэщ1эм хэзышэ лэжьыгъэ
1) Упщ1эхэм жэуап ирегъэтын:
— Дунейм и теплъэр дауэ къыщыгъэлъэгъуа усэм?
— Сыт щ1ымахуэр фигу щ1рихьыр?
— Щ1ымахуэ зэманым фигу иримыхьу сыт хэт?
— Сыт хуэдэ усэхэм феджа щ1амахуэм теухуауэ? (усэ зэджахэр къегъэщ1эжын)
Аф1эунэ Лиуан «Япэ уэс», Щоджэнц1ык1у 1эдэм «Илъэсыщ1э», Щоджэнц1ык1у Алий «Щ1ымахуэ», Елгъэр Кашиф «Илъэсыщ1э»
2) Щ1ымахуэм теухуауэ сыт хуэдэ псалъэжьхэмрэ къуажэхьхэмрэ фщ1эрэ?
Доскам къытридзэ псалъэжьхэр нэгъэсыжын (ц1ык1ухэр гупит1у гуэшауэ зэпоуэ).
Гъэмахуэм 1эжьэ щ1ы… ( щ1ымахуэм гу щ1ы)
Щ1ышылэр… (щ1ымахуэм ипщщ)
Уэс щесам… (лъэужь щы1эщ)
Февралым и блым…. (мылым утемыхьэ)
Къуажэхьхэр
Уеплъмэ гъуджэ, уеджэм дэгу. (Мыл). Ди пщ1ант1э п1этепхъуэ хужь тепхъуащ. (Уэс) Щабэрык1уэ мэз к1уэрей (1эжьэ) Гъэми щ1ыми щхъуант1э, Илъэсыщ1эм ягъэщ1эращ1э (псей)
3) Щ1ымахуэм и нэщэнэхэр къыжегъэ1эн.
Уэсыр куумэ гъэр ф1ы мэхъу.
Бжьыным фэ куд телъмэ, щ1ымахуэр щ1ы1э мэхъу.
Вагъуэбэр щ1ым зэрынэсу, щ1ыри псыри мэщтри щ1ымахуэм щ1едзэ.
— Нобэрей ди дерсыр зытеухуар къэфщ1ауэ п1эрэ, ц1ык1ухэ? (Щ1ымахуэ зэманырщ.) Адэк1э, Нало Заур гъэм и зэман нэхъ дахэ дыдэм зэрыхущытым щыгъуазэ зытщ1ынщ.
4) Нало Заур теухуа презентацэр доскам къытрегъэдзэн.
Усак1уэ гъуэзэджэм и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ тепсэлъыхьын (к1эщ1у) Нало Заур 1928 гъэм Хьэтуей къуажэ къыщалъхуащ.1952 гъэм Къэбэрдей пединститутыр къиухри, щригъэджэн щӀидзащ. 1954 гъэм щыщӀэдзауэ КъБР-м щӀэныгъэхутэ иджы гуманитар къэхутэныгъэхэмкӀэ и институтым щылэжьащ. Усэ тхылъ зыбжанэм, новеллэ тхылъым, повестым, рассказхэм, адыгэ культурэм и тхыдэм пыщӀа къэхутэныгъэ тхылъхэм, статья щхьэхуэ куэдым я авторщ. И усэхэр, нэгъуэщӀ литературэ лэжьыгъэхэр дунйем къытохьэ 1948 гъэ лъандэрэ. Ахэр щызэхуэхьэсащ «Бзухэм я бзэм» (1959), «Аслъэныкъуэ» (1967), «Усэхэр» (1973), «Дыгъэеджэ» (1976) тхылъхэм, нэгъуэщӀхэми.
IV. Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ. Адыгэ къафэ мэкъамэ къеуэм ек1уу сабийхэм я 1эпкълъэпкъым зезыгъэшэщ1 адыгэ къафэм и элементхэр егъэгъэзэщ1эн.
V.Темэщ1эм елэжьын
1) Нало Заур и «Щ1ымахуэ» усэм къеджэн. (Усэр къазэрыщыхъуар жегъэ1эн)
— Хэт къызжи1эн сыт зытеухуар мы усэр? (Щ1ымахуэм)
— Жьым и зэф1эк1ыр дауэ къыщыгъэлъэгъуа усэм?( сатырхэр къегъэгъуэтын) Цы1эрылъхьэу кърехьэхри… Щындэбзийхэр къепхъэнк1ыхь… — Сытым иригъапщэрэ усак1уэм щ1амахуэм и 1эмалхэр? — Фэ дауэ фыхущыт щ1ымахуэ зэманым?
(Ц1ык1ухэр щ1ымахуэм зэрыджэгу джэгук1эхэм тегъэпсэлъыхьын, щ1ымахуэ спорт л1эужьыгъуэу сыт хуэдэхэр ящ1эми жегъэ1эн)
VI. Яджар егъэбыдыл1эн:
1)Усэм езыр-езыру къегъэджэн.
2) Тхылъым ит упщ1эхэм жэуап ирегъэтын.
3)Зэрылажьэ тетрадымк1э гъэлэжьэн.
VII. Еджак1уэхэм я лэжьэк1ам и ф1агьыр къегъэпщытэжын.
Урокым щагъэзэщ1эну зыхунэмысамрэ я щ1эныгъэм щыщ1эныгъэ и1эу къахутэжамрэ зэрелэжьынур егъэубзыхун.
VIII. Унэ лэжьыгъэ етын (н. 58, усэр гук1э зэгъэщ1эн)
Оценкэ гъэувын,cэлам ехыжын/
Узыншэу фыщыт!
Опубликовано 10.06.2017 по предмету Другие предметы от Гость
>> <<
Сочиненэ щ|ымахуэ адыгэбзэк|э
Ответ оставил Гость
Я так понела что надо написать соченение- а дальше ничего не поняла(
напиши еще раз)
Оцени ответ
Найти другие ответы
Загрузить картинку
Темэр : Тхьэмокъуэ Барэсбий «Щ1ымахуэк1э»
Мурадыр: Тхылъеджэм и1эн хуей есэныгъэхэр сабийхэм деж щегъэф1эк1уэн : псынщ1эрыкъеджэм, гъэхуауэ, зыхэщ1эгъуэу я къеджэк1эм, зэджам нэхъыщхьэр къыхакъузык1ыфрэ к1эщ1у къа1уэтэжыфу, рассказым пэгъунэгъуу, дамыгъэху1ауэ жа1эжыфу,тхыгъэм и гупсысэр, зытеухуар къахутэфу, зэджар къазэрыщыхъуар къыжа1эжыфу егъэсэн. Сабийхэм я жьэнахуагъым зегъэужьын.
Урокыр зэрек1уэк1ынур
I.Сабийхэр ек1уэк1ыну урокым зэрыхуэхьэзырым зыщыгъэгъуэзэн
1.Урокым зэрыщылэжьэну 1эмэпсымэхэмк1э еджак1уэхэр къызэрызэгъэпэщам щыгъуазэ зыхуэщ1ын
2. Урокым и мурадхэмрэ еджак1уэхэм къапэщыт къалэнхэмрэ яже1эн.
II.Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
1.Сыт унэ лэжьыгъэу фи1ар? « Лэжьыгъэ урок» усэр зы псалъэк1э сыт зытеухуар? (лэжьыгъэм , псори мэлажьэ) Сабийхэм ялэжьыр хэт сэбэп зыхуэхъунур?(Тыгъэ зыхуащ1ынухэр щыгуф1ык1ынущ , унэм яхьыжмэ, нэхъыжьхэр я бынхэм я 1эщ1агъэм иригушхуэнущ, ауэ нэхъыбэу ар сэбэп зыхуэхъунур езы сабийхэращ -я 1эхэр 1эщ1агъэм хуагъасэ, 1эзэу лажьэ ящ1, егугъуу лэжьэным зыхуагъэхьэзыр)
2. Дауэ къывгуры1уэрэ мы сатырхэр? —Хэтми л1ы ирокъур- дахэ зи 1эужьыр
-И щхьэумэр маск1эу – удз гъэгъа ещ1 Лерэ
-Дауэ къывгуры1уэрэ щхьэумэ псалъэр? (зи щхьэр ин удз гъэгъа) Маринэт и пшынэр- нап1эк1э егъэпсыр- нэгъуэщ1 псалъэк1э зэфхъуэк1ыт -Мы псалъэхэр жызы1эр хэт? Си гур хохъуэ сэри – сащхьэщытщи ахэм. -Сыт зыгъэгушхуэр егъэджак1уэр? -Фэ ин фыхъумэ сыт хуэдэ 1эщ1агъэр къыхэфхыну? -Зэрыжыф1ащи мы усэр лэжьыгъэм теухуащ. Лэжьыгъэм теухуауэ сыт хуэдэ псалэжьхэр фщ1эрэ? -Хэт къыджи1эн усэр гук1э?
2.Ет1уанэ усэр сыт зытеухуар?
Ди зэманым дунейм тетщ шы лъэпкъ зэмыл1эужьыгъуэу 200-м щ1игъу, абы щыщу 50-р ди къэралым щызэрахуэ. Нэхъ шы лъэпкъыф1 дыдэу ябж хьэрыпышыр, адыгэшыр, инджылызышыр. Япэ дыдэу шыр къызэрагъэ1эсэрэ илъэс мини 6 мэхъур, абы лъандэрэ ц1ыхур йолэжь шы лъэпкъыр егъэф1эк1уэным. Ар къайхъул1эн щхьэк1э къагъэсэбэп нэхъ шы лъэпкъыф1хэр, къарууф1эхэр, бэшэчхэр, жэрхэр.
Апхуэдиз зэманым къриубыдэу ц1ыхум шыр игъэсэфащ зэрыхуей дыдэм хуэдэу: шэсмэ, псынщ1эу и гъуэгум хигъэщ1у; щак1уэ ирик1уэмэ, 1ущу; зауэм 1утмэ, и бгъэмк1и и ф1алъэмк1и бийм езэуэну, езыр мышынэу, къимык1уэту; къызэдагъажэмэ – япэ зыри иримыгъэщыну, и щ1ыб тесым щхьэк1э и къарури и псэри итыну хьэзыру.
Шы лъэпкъхэу сыт хуэдэхэр фщ1эрэ? 1. Абыкъу 2.Ачэтыр 3.Бэчкъан 4. Егъэн 5. Есэней 6. Жэрэщты 7. Кърымщокъал 8. Къундет 9. Лоу 10. Трамэ 11. Хьэгъундокъуэ 12. Шагъдий 13. Шэджэрокъуэ 14. Щолъэхъу 15. Чыпылу
ШЫ ПЛЪЫФЭХЭР
Пщ1эгъуалэ– хужь– серая
Пц1эгъуэплъ – плъыжь– гнедая
Къарэ – ф1ыц1э – вороная
Брул – щхъуэ – чубарая
Къэбыфэ (гъуэ, и сокури и к1эри ф1ыц1эу)
Гнедо –пегая Жьы хъу хабзэкъым псалъэжьыр. Бицу Анатолэ
«Шым я нэхъ жэрыр адыгэшщи,
Л1ым я нэхъ хахуэр адыгэл1щ»…
Адыгэр нобэ адыгэжмэ,
Абы щ1этыжмэ адыгэлъ, —
А псалъэ лъап1эхэм щыхьэт
Темыхъуэу псэункъым сыхьэт,
Тесыжрэ иш 1эщ1элъу джатэ,
Къыпыжу лъыр, мызауэу щытми.
Гъунэжу щы1эщ гъэунэхуп1э,
Адыгэм щихъумэн и напэр!..
Апхуэдэу согупсыс дапщэщи,
Жьы хъу и хабзэкъым псалъэжьми,
Ауэ псалъэжьыр бгъэулъий
Мэхъу зэрылъэпкъыу узэхыхьэм…
Яалыхь, зэгуэр апхуэдэ лей
Мы псалъэхэм къытумыгъэхьэ:
«Шым я нэхъ жэрыр адыгэшщи,
Л1ым я нэхъ хахуэр адыгэл1щ»! -Сыт хуэдэ псалъэжьхэр шым теухуауэ фщ1эрэ?
Хэт къыджи1эн усэр гук1э?
III.Темэщ1эр
1.Гъэм и зэманхэр къэдвгъэщ1эжыт 2.Зэман къэс мазэ дапщэ хъурэ? Щ1ымахуэ мазэц1эхэр адыгэбзэк1э къыжыф1эт. ( дыгъэгъазэ, щ1ышылэ , мазае). 3.Щ1ымахуэм укъэзыухъуреихь дунейм удэзыхьэхыр сыт? 4.Щ1ымахуэм теухуауэ вджа тхыгъэхэм щыщ 1ыхьэ сыкъыфхуеджэнущи, .зыщыщ тхыгъэмрэ , ар зи 1эдакъэщ1эк1ымрэ къыжыф1э. -Дадэ кърита чэнджэщым тету, абы лыжит1ыр дыгъуэпшыхь быдэу илъэщ1ат. (Щоджэнц1ык1у 1эдэм «Махуэгъэпс и деж»)
Илъэсыщ1э, Илъэсыщ1э, Зи к1эдэхъум уэсыр из, Гъэмрэ щ1ымрэ зэпызыщ1э, Уи 1эгум гуапэу дисщ (Елгъэр Кашиф « Илъэсыщ1э»)
—Бзу ц1ык1ур щтэ1эщтаблэу, к1эзызу къэк1уатэрт, ик1уэтыжырт, лъэныкъуэк1э зыщ1идзэурэ гъунэгъу зыкъищ1ырт (Тхьэмокъуэ Барэсбий «Бзу»)
Пхъафэ 1ув дзэлыгъуэр Ф1эф1щ тхьэк1умэк1ыхьым Памэу сыт зылъыхъуэр Бажэр махуэ к1ыхьым?(Иуан Бубэ «Щ1ымахуэ мэзым»)
5.Щ1ымахуэм и к1эр къыщыгъэлъэгъуа Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм нэгъуэщ1 къэралхэм я художник ц1эры1уэхэм ящ1а сурэтхэм девгъэплъ ик1и композитор ц1эры1уэхэм ятха макъэм дыщ1эфгъэдэ1у. -Сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуар щ1ымахуэм и иужьрей махуэхэу сыт хуэдэ нэщэнэхэм къыдигъащ1эрэ?
6. Нобэрей урокым дджыну тхыгъэр къэфщ1энущ къуажыхьхэр къафщ1эмэ
-
1. 1эншэ бжэ1ух
-
2. Гъатхэпэ мазэ
-
3. Жэщ уэздыгъэ, губгъуэ гъэдахэ
-
4.Щэбэрык1уэ, мэз к1уэрей
-
5. Бгыкъуншэ унэ
-
6. Гъэм и щ1ы1эгъуэ зэманым и к1э «Щ1ымахуэк1э»
7.Тхыгъэр зытхар Тхьэмокъуэ Барэсбийщ . Тхьэмокъуэ Барэсбий 1940г Шэджэм езанэ къуажэм къыщалъхуащ. Школыр къиуха нэужь Барэсбий Налшык КБГУ филологическэ факультетым щ1эт1ысхьащ. Иджыри еджэу и тхыгъэхэр журналхэм, газетхэм къытрадзэу щ1адзащ. Тхьэмокъуэ Барэсбий и усэ, рассказ, басня куэд 1уащхьэмахуэ журналым къытрадзащ. Ар телевидением и редактор нэхъыщхьэу , иужьк1э зав. отделом министерства печати и информатики КБР лэжьащ. Тхыгъэ куэд итхащ. абы.И псэемыблэж лэжьыгъэм щхьэк1э «За доблестный труд» медалыр къыхуагъэфэщащ.
8.Словарнэ лэжьыгъэ
нэщхъыдзэщ – нэщхък1э уэ , нэщхъ 1ей зи1э;
уардэ-ин, бжьыф1э, лъэщ;
къо1эл-хуабжьу къогубжь;
щ1ы1эбжь-жьы щ1ы1э мыин
9.Тхыгъэм къахуеджэн
10.Езыр-езыру къегъэджэн 11.Февралым сыт хуэдэ сурэту фи нэгу къызэрыщ1ыхьэр?(ц1ыху сурэту, псэущхьэ сурэту, жьы сурэту) 12.Февралым и псалъэхэр къэвгъуэти интонацэ зэхуэмыдэк1э фыкъеджэфмэ феплъыт 13. Щ1ымахуэк1эм и хьэл-щэныр къригъэлъэгъуэну тхак1уэм къигъэсэбэп псалъэхэр къэфгъуэтыт (Февралыр къогуф1э, хужь зэфэзэщу къызэщ1олыдэ, бзаджэу мэдыхьэшх, яхолъадэ, яхопщэ, нэхъри къогуф1э, къо1эл, къогубжь). 14.Сыт къызыхэк1ыр щ1ымахуэк1эм и 1уэхущ1афэхэм апхуэдэурэ зэрызахъуэжыр?
IV. 1.Егъэджак1уэмрэ еджак1уэхэмрэ я1а къалэн, мурадхэр зы1эрагъэхьа ехъул1эныгъэхэр зэлъытын. 2. Еджак1уэхэр урокым зэрыхэлэжьыхьам елъытауэ оценкэ яхуэгъэувын 3. Унэ лэжьыгъэ. Рассказым и япэ 1ыхьэм гъэхуауэ къеджэфу зрегъэгъэсэн, зэджа 1ыхьэм упщ1итху хуегъэгъэувын.
2 класс Урок№23 Каб/лит 05.12.2016г
Темэр: Гъэм и зэманхэр.ЩоджэнцIыкIу Алий «ЩIымахуэ».Щ1ымахуэ
зэманыр.
Мурадхэр: Тхылъеджэм и1эн хуей зэф1эк1хэм сабийхэр хуезыгъасэ
лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын, ядж усэм къыхах гупсысэхэр къа1уэтэфу
егъэсэн,усэм и гъэпсык1эрм къэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу
зэхъуэк1ыныгъэхм теухуауэ я1э щ1эныгъэхр егъэбыдыл1эн, дахагъэр
сабийхэм зэхегъэщ1эн, ар хъумэн, егъэф1эк1уэн зэрыхуейм хуэгъэсэн;
дунейм и къэхъукъащIэхэмрэ щIымахуэм и щытык1эхэмрэ теухуауэ
еджак1уэхэм я1э щ1эныгъэр егъэбыдыл1эн; тхыгъэм къеджэнымк1э
яхузэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн, я бзэм зегъэужьынымк1э лэжьыгъэхэм
пыщэн, егъэф1эк1уэн.
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр. Щоджэн ц1ык1у Алий теухуа
презентацэ. Щ1ымахуэм и дахагъэр къызэрыщ сурэт, компьютерк1э
гъэлъэгъуэныгъэхэр.
Урокыр зэрек1уэк1ынур
I. Урокым и темэмрэ мурадымрэ еджак1уэхэм ябгъэдэлъхьэн.
II. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэн.
1) «Сыту уеджэну» тхыгъэм къегъэджэн, абы дерс къыхахахэр
къегъэ1уэтэн.
2) «Си Iуэху хэлъкъым» тхыгъэм къегъэджэн.
— Дауэ къыфщыхъуа щ1алэ ц1ык1уит1ым ялэжьар?
-Абыхэм яп1э фитамэ фэ сытыт фщ1энур?
III. Темэщ1эм хэшэн:
1) Упщ1эхэм жэуап ирегъэтын:
-Сыт щ1ымахуэр фигу щ1рихьыр?
— Сыт щ1ымахуэм фигу иримыхьу хэтыр?
2) Щ1ымахуэм и нэщэнэхэр къыжегъэ1эн.
(Адэк1э пытщэнщ къуэжэхьхэр ик1и ди темэр абы къыхэщынщ)
Ди пщ1ант1э п1этепхъуэ хужь тепхъуащ. (Уэс)
1эдэ-уадэншэу псым лъэмыж тезылъхьэ. (Мыл)
Нт1э нобэ зи гугъу тщ1ынур къэфщ1ауэ п1эрэ? (Щ1ымахуэ зэманырщ.)
Къищынэмыщ1ауэ, Щоджэнц1ык1у Алий и гъащ1эмрэ и лэжьыгъэмрэ т1эк1у
щыгъуазэ зытщ1ынщ, и усэхэм ящыщ зы «Щ1ымахуэ» жыхуи1эм деджэнщ.
IV.Темэщ1эм емыджэ щ1ык1э ехьэл1а лэжьыгъэхэр
1)Щоджэнц1ык1у Алий и гъащ1эмрэ и лэжьыгъэмрэ щыгъуазэ щ1ын. (
Усак1уэм теухуауэ еджак1уэхэм ягъэхьэзырахэм щ1эдэ1ун).
2) «Щ1ымахуэ» зи темэ кинофильм к1эщ1 егъэплъын. Мэз псэущхьэхэм
щ1ымахуэм я псэук1эм тепсэлъыхьын
3) Щ1ымахуэм теухуа усэхэр, уэрэдхэр жегъэ1эн.
V.Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ. Адыгэ къафэ мэкъамэ къеуэм ек1уу
сабийхэм я 1эпкълъэпкъым зезыгъэшэщ1 адыгэ къафэм и элементхэр
егъэгъэзэщ1эн.
VI.Щ1ымахуэм теухуауэ тхылъым ит сурэтым к1эщ1у тегъэпсэлъыхьын:
-Сыт сурэтым щыфлъагъур?
— Дунейм и щытык1эр сыт хуэдэ?
— Ц1ык1ухэр дауэ хуэпа? Сыт щ1эхуэпар?
— Сыт абыхэм ящ1эр?
— Сыт щ1ымахуэм щ1ым къытрилъхьэр?
-Дэнэ щы1э бзухэр?
— Сыт языныкъуэ бзухэр щ1элъатэр?
VII.Къардэн Бубэ и «Щ1ымахуэ зэманым» текстым къемыджэ щ1ык1э
къалэн ящыщ1ын бзухэр щ1элъэтэжым и щхьэусыгъуэр къыхагъуэтэну.
Еджак1уэхэр текстым къегъэджэн.
( Къуалэбзухэм я нэхъыбэр щ1ымахуэм хуабап1эм щы1эщ.
Хьэпщхупщхэр щ1ы щ1агъым щопсэухэр. Хьэпщхупщ зышх бзухэм шхын
щ1ымахуэм щ1амыгъуэтыр аращ.)
1) Макъамэ дахэ щ1эту щ1ымахуэм и дахагъэр къызэрыщ сурэт
гъэлъэгъуэныгъэхэм компьютерк1э егъэплъын.
VIII. ЩоджэнцIыкIу Алий «ЩIымахуэ»усэм къахуеджэн.
-
Усэр къазэрыщыхъуар, зытеухуар жегъэ1эжын.
-
Мы псалъэхэр усэм зэрыщыжы1ар къыхегъэгъуэтэн:
Уэс зытелъ жыгхэр- жыг тхъуахэр,
Жыгым телъ уэсыр-щыгъэху
Псы уэрхэм ящ1 макъ-псы уэрхэр 1ущащэу
-Дэтхэнэ жы1эк1эр нэхъ дахэу
IX.Усэм езыр-езыру къегъэджэн.
X.Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын:
Пшагъуэбэ- пшагъуэ 1ув, жыг тхъуахэр-я щхьэк1эм сытхъу телъщ,
мыл кхъуафэм щок1уасэ- псыежэхым и у1фэхэр мылу 1ущтык1ащ,
бжьэхуцк1э хуэпащ-уэс телъщ жи1эу аращ, шыгъуэгум епщ1ащ- хадэм
къыщытет1ысхьащ
XI .Яджар къызэщ1экъуэжын.
-
Упщ1эхэм жэуап ирегъэтын.
— Сыт щ1эуэ къэфщ1а, хьэлэмэт къыфщыхъуа?
— Урокым узэрылэжьам сыт аразы укъэзымыщ1ауэ хэтыр?
— Щ1ымахуэм теухуауэ сыт щ1эуэ къэфщ1ар?
XII.Унэ лэжьыгъэ.
«Щ1ымахуэ зэманыр»текстым къеджэн, тепсэлъыхьыжын, ЩоджэнцIыкIу
Алий и «ЩIымахуэ» усэр гук1э зэрагъэщ1эн. Нап. 68-70 (гукIэ).
Сочиненэ щ|ымахуэ адыгэбзэк|э
0 голосов
353 просмотров
Сочиненэ щ|ымахуэ адыгэбзэк|э
- сочиненэ
- ымахуэ
- адыгэбзэк
- 1 — 4 классы
- другие предметы
Другие предметы
Timerlankhamzhu1_zn
30 Март, 18
|
353 просмотров
Дан 1 ответ
0 голосов
Я так понела что надо написать соченение- а дальше ничего не поняла(
напиши еще раз)
Veronikamernenko_zn
30 Март, 18
Похожие задачи
- Почему Марс назвали Марсом? РАЗВЁРНУТЫЙ ОТВЕТ. 20 пунктов
- Быль или легенда про славян! Очень нужно
- Рыба, яблоки ,огурцы, мясо, яйца, сыр, молоко , помидоры , капуста, сливочное масло,…
- Выберите три комнатных растения. В справочниках или в интернете узнайте родину растения и…
- Чому місяць світить вночі