Сочинение на тему унагъуэ насыпыф1э

Ф1гъуэу дунейм тет псоми уахэплъэмэ,ц1ыхубэм ,сызэригугъэмк1э,къыхихынур унагъуэрщ.Аракъэ езыр ф1ыгъуэ хъужри?!Дунейр зэпц1ыну щыщ1идза зэман лъандэрэ ц1ыхур хущ1окъу жьэгу пащхьэ хуабэ,бынунэ ин,сабий макъ щы1ун унэ,зэгуры1уэ зи яку дэлъын ц1ыхугуит1,псэм зыщигъэпсэхун щ1ып1э,дахагъэ псори къыздежьэ УНАГЪУЭ!Къуршыбгъэ лъэщи.бзуущхъуэ ц1ык1уи,аслъэн бзаджи,хыкхъуэ ини-псори хуейщ «унагъуэ».Зы здэщы1эм ет1уанэри къоунэху,т1у хъуар мэбагъуэ,бэгъуэну щ1эзыдза унагъуэм дыгъэпсыр къытопсэ,хъугъэ лъэщыр зыгъуэта унагъуэм ит1анэ зе1эт,зешэщ1,зеубгъу.Ар гъащ1эм хопсэухь,псоми полъэщ…
 Согушхуэ унагъуэ насыпыф1э щыслъагъум деж.Зэгуры1уэ зи яку дэлъ,пщ1э-нэмысыр гуащ1эу къезыхьэк1 унагъуэм сыдехьэх.Унагъуэр щыпкъэу щытыныр,щапхъэ трахыу псэуныр –лэжьыгъэ мащ1экъым.Ар зы сыхьэтк1и,махуэк1и пхузэф1эгъэувэнукъым.Нэхъыбэу пщэрылъ апхуэдэк1э зыхуэхъур  унагъуэм ис нэхъыжьырщ.Абы и жы1эм псори щ1этыпхъэщ.Адрейхэми дадэм е нанэм игъэлъагъуэ,зэрихьэ ф1ыгъуэ псори хьэл  яхуэхъупхъэщ,гъуэгу захуэ теувапхъэщ.Сыт –т1э и уасэ жьэгу пащхьэм уи нэхъыжьыр пэрысрэ хугу п1астэм щынэлыр бгъэдэлъу,лэкъум хуабэм шху щ1ы1эр дэщ1ыгъуу 1энэм ущысыныр?!Уасэншэщ!
 Си насыпщ!Адэ-анэу си нэхъыжьхэр къысщхьэщытщ,си къуэшыр си щ1эгъэкъуэнщ,нысэр жы1эщ1эщ,шыпхъуит1ыр си напщ1эщ,сабий дыгъэ-щыгъэхэр ди куэдщ!Насыпышхуэкъэ-т1э ар?!
 Сыхуейщ нобэрей махуэмк1э унагъуэ лъащ1эр зыгъэувахэм сехъуэхъуну-Жьэгу пащхьэр зэщ1эстрэ,зэгуры1уэр фи куэду,ф1ым зыхуэвгъэшрэ пщ1э-нэмысыр зефхьэфу,нэхъыжьхэм вгъэлъагъуэ щапхъэр нэхъыщ1эм жьым хамыпхъэжу куэдрэ фыпсэуну!Зыщывмыгъэгъупщ1э:Дахагъэр къыздежьэр унагъуэрщ!

Воскресенье, Март 12, 2023


  • О нас


    • Организаторы


    • Новости


    • Поездки


    • Статьи


    • Галерея



  • Конкурсы


    • Номинации


    • Правила участия


    • Результаты


    • Конкурсные работы


  • Награды


  • Партнеры


  • Скачать


  • Отправить


  • Контакты

Образовательный проект «Хочу все знать» включает в себя интеллектуально-познавательные, развивающие очные и заочные конкурсы для детей по направлениям:

  1. РОДНОЙ ЯЗЫК И ЛИТЕРАТУРА
  2.  

  3. МАТЕМАТИКА
  4.  

  5. РУССКИЙ ЯЗЫК И ЛИТЕРАТУРА
  6.  

  7. ЭКОНОМИКА
  8.  

  9. ЕСТЕСТВОЗНАНИЕ
  10.  

  11. АНГЛИЙСКИЙ ЯЗЫК
  12.  

  13. КУЛЬТУРА И ОБЩЕСТВО

    Осенний


    25 СЕНТЯБРЯ -1 НОЯБРЯ


    ЗАОЧНЫЙ

    Зимний


    25 ЯНВАРЯ — 1 МАРТА


    ЗАОЧНЫЙ

    Весенний


    25 МАРТА — 30 МАРТА


    ОЧНЫЙ

    Спецпроекты


    в течение года


    ЗАОЧНЫЕ

  • All
  • начальныеклассы
  • среднеезвено
  • старшиеклассы
  • Совенок в мире природы

  • Математический калейдоскоп

  • Находчивая сова и мифы

  • Мое отечество    


Загрузите еще
остальные


load all

ПОБЕДИТЕЛИ

  • Шибзухов Адам

    СОШ 2 с.п. Атажукино

    9 сезон

  • Батова Даяна

    СОШ 2 с.п. Сармаково

    9 сезон

  • Жангериев Азнаур

    СОШ с.п. Шордаково

    9 сезон

  • Уянаева Альбина

    СОШ с.п. Хабаз

    9 сезон

  • Коцева Рамилла

    СОШ 2 с.п. Сармаково

    9 сезон

НОВОСТИ И РАССКАЗЫ О НАШИХ СОБЫТИЯХ!!

Тхыгъэ «Сыт насыпыр?»

Насып щ1экъуныр – арщ насыпыр»
Насып… Дунейр къызэриухуэрэ цIыхур зыщIэхъуэпс псалъэ дахэр дэнэ щы1э? Сэ сызэрегупсысымкIэ, насыпыр ц1ыхум къыдалъху ик1и Iыхьэ куэду гуэшауэ нэрыбгэ къэси къыдогъуэгурыкIуэ. Зым адэ-анэр хуэпсэууэ, къыдалъхуар хуэузыншэрэ яшхын-ящIэн ягъуэту балигъыпIэм иувэмэ, ар зы насып гъуэгуанэу ебж. Адрейм еджапIэр къыщиухкIэ, насыпыр – ар IэщIагъэ зэгъэгъуэтынырщ. Адрейм хелъагъуэр насыпыр к1апэм, напэри щыгъупщэжауэ. Сыт хуэдэ мылъкури зыми щыщкъым адыгэм адыгагъэр щыгъупщэмэ, хуэмысакъым ныбжьэгъугъэм, адэм и псалъэм, анэм и лъагъуныгъэм. Щы1эхэщ иджыри ц1ыху псэун папщ1э мышхэу, ат1э шхэн папщ1э псэухэуи.
Сыт ат1э сэрк1э насыпыр? Жэуапу хуэзгъуэтыр зыщ — «насып» щы1экъым, щы1эр насыпыф1э узыщ1 щы1эк1эхэрщ. Ат1э, сыт сэ насыпыф1э сызыщ1ыр? Сещ1 сэ насыпыф1э си анэм и гуф1э макъым, си Инжыдж и даущым, си Къэсейхьэблэжь и нэхущым, си адыгэбзэмк1э хуиту сызэрыпсалъэм, адыгэу сыкъызэрыхъуам…
Сэ зыкъэсщтэжмэ, сынасыпыф1эщ, ауэ насыпым и тхьэбзэ телъщ си гущхьэм. Ар зэи сымылъэгъуа ик1и зи 1эф1агъэр зыхэзмыщ1а си адэм и тхьэбзэщ. Сэ си л1акъуэ сыкъызыхэк1ами, сызып1ами яхуэфащэу сыпсэунущ. Си гум телъми тхьэбзэр — Тхьэм зэи ц1ыху тхьэбзэгъуджэ симыщ1к1э!

Автор: ЦАГЪУЭ ДАЯНЭ, КЪШР, ХЬЭБЭЗ КЪУАЖЭ. ЕГЪЭДЖАК1УЭР: ШЭРДЖЭС РАСЬЯТ

Кабардино – Балкарский 
государственный университет

им.Х.М. Бербекова

Конкурс эссе

«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»

«Напэр псэм япэщ»

https://vr-vyksa.ru/media/images/chronika_VOV_ANAxmFy.max-1200x800.jpgЛэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:

Бахъсэн къалэ дэт  етхуанэ
еджап1эм

и епщ1анэ классым щеджэ

Азычэ Ясминэ

 Егъэджак1уэр:

Л1эужь Залинэ

2021 гъ.

Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар.
ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, уса­кIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэ­уал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэ­уатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр.  Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ.
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм  теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI…
ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм  – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.

Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр

Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!

Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,

ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!

ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,

КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,

Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ

ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.

Окопым
къокIри зы долъей,

И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.

ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,

Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.

Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.

ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:

«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,

Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»

1945 гъ.

(К1ыщокъуэ
Алим)

Адыгэбзэ… Налъкъут мывэу зэтепщ1ык1, адэжь щ1эину л1ыщ1ыгъуэ миным къыхэк1а, илъэс бжыгъэншэр зи ныбжь, адыгэлъым хэпщауэ къэзыхь, адыгэ лъэпкъым и гупсэ, адыгэгур зыгъэп1ейтейуэ и гурылъ-гурыщ1эхэр макъ жьгъру дахащэхэмк1э къэзыт1эщ1, дэтхэнэ зы адыгэми гукъыдэж къезыт, и пщэдейм гурыф1ыгъуэ хэзылъхьэ, мывэ къурш псынэу бзэрабзэ си адыгэбзэ! Уэ упсэуху псэущ лъэпкъыр, уэ ущымы1эжмэ — лъэпкъыр к1уэдыжауэ аращ. Ди адыгэбзэр псэунущ ар налъкъутналмэсым пэтщ1у зетхьэмэ, тхъумэмэ, гъащ1эм деж хуэфэщэн увып1э едгъгъуэтмэ бзэм и 1эф1агъыр, лъэщагъыр зыхэтщ1эу дыщытмэ, пщ1э хуэтщ1у дыкъэхъумэ, дыкъэтэджмэ.

Адыгэхэм ди дежк1э бзэм мыхьэнэуэ и1апхъэр къегъэлъагъуэ бзэр къыщыунэхуам абы «анэдэлъхубзэр» зэрыф1ащам.

Анэм нэхърэ нэхъ лъап1э щыщымы1эк1э, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитак1э, лъэпкъым и дэтхэнэ ц1ыхуми абы пщ1эшхуэ хуэтщ1у, лъагъуныгъэ мыкуэщ1 худи1эу дыщытын хуейщ.

Ди адыгэбзэр, анэдэлъхубзэр лъпкъыбзэ нэхъыжьхэм хабжэ. Апхуэдэ хъугъуэф1ыгъуэри хъумауэ дэ къыднагъэсащ ди узэщ1ак1уэхэмрэ еджагъэшхуэхэмрэ, нэхъыжьхэм. Ик1и, абыхэм тхуахъума бзэр дгъэк1уэдыныр, ар 1эщ1ыб тщ1ыныр емык1ушхуэ зыпылъщ.

Дауэ 1умпэм пщ1ын хуей укъэзылъхуа анэм и бзэр?

Ди бзэр 1умпэм тщ1ымэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищ1ысыж? Адыгэбзэм и пщэдейр дэращ зэлъытар.

Дэ адыгэхэм тщыгъупщэ хъунукъым: л1ыщ1ыгъуэ бжыгъэ къэтхьащ тхэк1э – еджэк1э 1эмал димы1эу, «к1ыф1ыгъэм» дыхэту дызэрыпсэуар. Къыдэзауэхэми хъуащ, ди щ1ыгу ттрахами кърагъэк1уащ, ауэ ди адыгэбзэр хэти хуэгъэк1эдакъым,т1урахыни ялък1акъым. Псынэр пхудэжмэ нэгъуэщ1 щ1ып1эм къызэрыщиудыжым, жыг ираупщ1ык1ам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу ди адыгэбзэри зауэ-маф1эм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэк1ащ.

«Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъум и Хэкум гулъытэ нэс хуи1энукъым. Зи бзэр зыф1эмы1уэху ц1ыхур мыгъасэщ. Абы и бзэр къыщ1ыф1эмы1уэхур и лъэпкъым и блэк1ари, нобэри, къэк1уэнури зыуи къридзэкъыми аращ»,- жи1эгъащ Паустовскэм. Гупсысэшхуэ зыщ1элъ мы псалъэхэр тщымыгъупщэу дыщытын хуейщ дэтхэнэ адыгэри. Ит1анэщ ди къэк1уэнур хъуэпсэгъуэ зыщ1ын щ1эблэ узыншэ, зи щхьэм, зи бзэм пщ1э хуэзыщ1ыж ц1ыху дыщыхъунур.

Ди адыгэбзэм хуэдэ бзэ дахэ, бзэ бей щы1экъым.

Зы лъэпкъ псо зэгурызыгъа1уэ бзэщ ди адыгэбзэр, ар я1урылъащ зи напэм япэ псэр изыгъэща ц1ыху щэджащэ куэдым .

Урыс литературэр иропагэ Александр Пушкин усэбзэк1э итха и «Евгений Онегин» романым, усыгъэмрэ псэмрэ я лъагъуэр хэзыша Лермонтов Михаил…

Дауэрэ умыщ1энрэ Горький М., Толстой Н. сымэ я 1эдакъэщ1эк1 щэджащэхэр зэратха бзэр? Ари щхьэпэщ, псэм ф1эф1щ.

Ауэ псом япэр уэ къыбдалъхуа , сэ къыздалъхуа бзэращ. Абы зыри иридэуэфынукъым. Я нэхъ лъагап1э дыдэм тетщ си лъэпкъ мащ1эм и классик щоджэнц1ык1у Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, Уэхътэ Абдулыхь и «1эсят и мывэ» повестыр…

Ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ тхак1уэщ Брат Хьэбас,Кхъуэхъу Цуцэ, Хьэкъун Исуф, Ахъмэт Мухьэдин, нэгъуэщ1хэри. Сынасыпыншэу зыслъытэжынут абыхэм я тхыгъэ телъыджэхэм седжэн папщ1э нэгъуэщ1 бзэ къэзгъэсэбэпын хуей хъуамэ. Гум нэсыр гум къыбгъэдэк1ыращ, ик1и зэи зэщхь хъунукъым анэм и бзэмк1э псэм къедэхащ1эу ятхамрэ хамэбзэм ирагъэзэгъамрэ зэрызэхэпщ1эр.

Дахэщ ди бзэр, хуэпщ1аф1эщ, пшынэбзэ шэщ1ауэ мэбзэрабзэ. А зэщ1эпщ1ыпщ1эр уи гум 1эпап1э зэмыфэгъуу, нурыбзэу къытонэ, уи псэр ехьэху. А дахагъэр тф1эмык1уэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын, къык1элъык1уэ л1ыщ1ыгъуэхэм гъащ1э щи1эу адыгэбзэр щы1ун папщ1э,нэхъыщхьэу къэслъытэр адыгэбзэм иригупсысэ, иритхэ, иреджэ, жьабзэ дахэ 1урылъу ирипсалъэ щ1эблэу дыщытынращ.

Бзэ лъэрызехьэ куэд тетщ дуне1м, къэралышхуэхэм я бзэ хъуауэ, ц1ыху куэд ирипсалъэу. Адыгэгу зык1уэц1ылъым, адыгэпсэ зы1утым и бзэр абыхэм нэхърэ зык1и нэхъ ф1эц1ык1унукъым. Къэбэрдей усак1уэ Щоджэн Аслъэнджэрий итхащ бзэм теухуауэ сатыр гъуэзэджэхэр:

Зи бзэр зымыдэу,зы лъэпкъ щымы1э,

Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ…

Адыгэбзэм ди дежк1э мыхьэнэуэ и1эр зыхуэдизым, ар зи уасэм ехьэл1ауэ куэд хужа1ащ ди япэ ита нэхъыжьыф1хэм, тхак1уэ ц1эры1уэхэм. «Дуней нэхум япэпсалъэр къызэрысщ1ар си анэдэлъхубзэращ»,- итхащ Мэшбащ1э Исхьэкъ. Жыс1эну сыхуейщ бзэми 1уэры1уатэми увып1э ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэри1эр ди адыгэ псалъэжь дахэхэм. Бзэм и хабзэмк1э адыгэхэм зэи уи нэр кърищ1у жэуап къыуиткъым, ат1э псалъэжь щ1агъыбзэ, нэгъуэщ1хэри бзэм къегъэсэбэп,бзэр дахэ ещ1.

Щы1экъым бзэ ц1ык1у, е бзэ ин. Си адыгэбзэр а нэхъ бзэ ин дыдэхэм,дахэхэм,нэхъ куухэм, нэхъ шэрыуэ-1эрыхуэ дыдэхэм ящыщщ. Ди1экъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж лъэпкъым и бзэр сыт щыгъуи игъэпсэунущ, игъэдахэнущ, игъэкъэбзэнущ.

Усак1уэ Бемырзэ Мухьэдин и усэм щыже1э: «Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ».

Адэк1и щ1оупщ1э:

«Ауэ сыт щыгъуэт щыщытар ар тыншу?

Къвгъуэти тхыдэм зэ щищ1ыж ди гугъу,

Ди гъащ1эр тхьауэ дэ къэзэуатыншэу!»

Апхуэдиз зи лъап1агъ мы дунейшхуэм ц1эры1уэ щыхъуа адыгагъэр зэи лъэпкъым ар тхъуэжурэ къигъэщ1акъым, ат1э махуэ къэс, сыхьэт къэс, дакъикъэ къэселэжьурэ, зихъумэжурэ, игъэдахэурэ игъэпсащ.

Апхуэдиз бэлыхьрэ хьэзабрэ тхыдэм щызышэча, илъэсищэ зауэмрэ истамбылак1уэ гу1эгъуэмрэ къела си лъэпкъыри и бзэри хэмык1эдэжын щхьэк1э хэти тхузэф1эк1ыр тщ1эн хуейщ.

Анэдэлъхубзэ! Ар зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Ар зыми емыщхьщ. Ди бзэр дызэрыгушхуэщ,ди 1эщэщ, дин эм и нэхущ:

Адыгэпсэ – нанэ и псэ, сыту иупсэ дахэ!

Адыгэбзэ – дадэ и бзэ, сыту убзэ дахэ!

Еджап1эм щыддж предмехэм щыщу сэрк1э нэхъыщхьэ дыдэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр дэ сэбэп къытхуохъу адыгэ л1акъуэм зэхуихьэса щ1эныгъэр, лъэпкэ щэнхабзэр джынымк1э. Ди еджап1эм сыщыщ1эхьа япэ илъэсым къыщыщ1эдзауэ сэ куууэ зыхэсщ1ащ анэдэлъхубзэм и 1эф1агъыр, и къарур, и лъэщагъыр. А гурыщ1э 1эф1хэр си лъым хэту сыкъэтэджащ. Ик1и абы щхьэк1э сэ сынасыпыф1эу зызобжыж.

1863 гъэм Нэгумэ Шорэ жи1эгъащ: «Сэ сымылъагъунк1и хъунщ а дакъикъэ 1эф1ыр – си лъахэм щ1эныгъэншагъэр 1эщ1ыб щищ1ыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщ1энт сэ абы щыгъуэм…Слъэк1ым хуэдиз сщ1ащ сэ, ф1ыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи 1эмырымрэ солъэ1у анэдэлъхубзэм хузи1а лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щ1эблэ си ужь къихъуэнк1э»,- жэуэ. Нобэк1э гуры1уэгъуэ тхуэхъур зыщ: бзэр хьэпшипкъым, нобэ пф1эк1уэдамэ, пщэдей къэбгъуэтыжыфыну. Ар ящэкъым ик1и къащэхукъым, ат1э ар ди анэдэлъхущи, нэгъуэщ1 гуэрк1этхуэхъуэжынукъым.

Абы сыт щыгъуи дыхэсакъын , зедгъэужьын хуейщ ик1и а псори зи пщэрылъыр дэращ,щ1эблэращ.

Си сочиненэр сыухыну сыхуейщ ф1ыуэ слъагъу си адыгэбзэм теухуа мы усэ зэхэслъхьамк1э:

Адыгэбзэ, си лъэпкъ дыщэм и бзэ!

Ц1ыхум и гуращэр на1уэ зыщ1.

Гуауэр зыгъэщащэ, жыр зыгъэущыкъуей

Ц1ыхум и гупщысэр жан хуэзыщ1.

Адыгэбзэ, къаруушхуэ зи1э,

Зи лъэпкъ и пэжыр зыгъэув.

Мыл 1уву щтахэр зыгъэвыж.

Узибзэм и щхьэр ину елъагъуж.

Си адыгэбзэу гуф1эгъуэбзэ!

Хъуэхъубжьэ дахэ зэрыжа1э.

Сабий къэхъуамэ и анэбзэ.

Адыгэщ зи бзэр жыбогъэ1э.

1ущыгъэр уи 1унк1ыбзэщ, адыгэбзэ.

Гуапагъэр уи 1эпэгъуурэ уопсэу

«Анэ» псалъэ дахэр ирижа1э

Хэкум ухуэусэурэ уопсэу.

Адыгэбзэу инджыджыпсу къабзэ!

Зи бзэр толъкъун лъэщу къэукъубей.

Дыщэ жыгыу зи жылэр купщ1аф1э

Зи лъэпкъ тхыдэр ену зыгъэбей.

Понравилась статья? Поделить с друзьями:
  • Сочинение на тему умом россию не понять патриотическая тема в лирике тютчева 10 класс
  • Сочинение на тему умею ли я дружить
  • Сочинение на тему умереть так как базаров все равно что совершить подвиг
  • Сочинение на тему умение трудиться
  • Сочинение на тему умение прощать 9 класс