Темэр: «Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей».
(классщ1ыб лэжьыгъэ 24 класс)
Мурадыр:
1. Пэщ1эдзэ классхэм щеджэ ц1ык1ухэм я бзэм зегъэужьын.
2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын ижьижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэ
гъуэзэджэхэм.
3. «Сыт хуэдэ зэхущытык1э дэлъын хуей сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зэхуакум?»
упщ1эм жэуап тэмэм етын.
4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, нэхъыжьхэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.
5. Адыгэ хабзэм мыхьэнэшхуэ балигъхэми сабийхэми я дежк1э зэри1эр ц1ык1ухэм
ягурыгъэ1уэн.
6. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын хабзэр зымыгъэзащ1эхэр щытык1э гугъухэм
зэриувэр къэзыгъэлъагъуэ усэхэм, псалъэжьхэм.
(Уэрэд «Жьым фымыщ1 и жагъуэ»)
Еджак1уэ:
Фи махуэ ф1ыуэ!
Фыкъеблагъэ ди хьэщ1э лъап1эхэ!
Сэлам гуапэ фыдох!
Егъэджак1уэ: Ди адыгэ хабзэм и фащэ нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ, адыгагъэмрэ адыгэ
нэмысымрэ 1ыгъыныр. Абы къызэщ1еубыдэ ц1ыхум и щ1ыхьыр зэримыгъэпудыныр,
пэжыгъэр, ук1ытэр, гулъытэр, нэхъыжьым пщ1э хуэщ1ыныр бзылъхугъэр лъытэныр,
сабийм хуэсакъыныр, гъэсэныгъэ хэлъхьэныр.
Мы зи гугъу сщ1а 1уэхугъуэ псоми ухэплъэжмэ, гуры1уэгъуэ мэхъу адыгэ унагъуэм
сабийм щигъуэтым хуей гъэсэныгъэм и куууагъыр.
Къэтщтэнщ нобэ нэхъ дызыгъэгузавэ зы 1уэхугъуэ: нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ яку
дэлъ зэхущытык1эр. Аращ ди псалъэмакъри зытеухуауэ щытынур.
Тхыдэм уриплъэж нэужьк1э, лъэпкъ куэдым я деж ущрохьэл1э ц1ыхухэм жьы
хъуахэр яук1ыжу, бгым щ1адзу, щ1ып1э пхыдзам яшэрэ къагъанэу зэрыщытар. Апхуэдэ
хъыбар хэтщ ди адыгэ 1уэры1уатэми.
Дедэ1уэнщ Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэф1ым теухуа хъыбарым.
Еджак1уэ: Бэдынокъуэ и адэ Бэдын ишат бгым щидзыну, ауэ гу щ1эгъур
къытек1уэри абы и адэр иук1акъым. Мэзым щигъэпщк1ури къэк1уэжащ.
Гъей щыхъум, л1ыжьым и чэнджэщхэмк1э гъавэр къахуэк1ыу, 1эщхэр яхуэбагъуэу
щ1идзэжащ.
Мы хъыбырым къыщежьэу жып1э хъунущ нэхъыжьым хуэщ1ын хуей гулъытэр,
пщ1эр. Къарук1э пэмылъэщыжми, жьы хъуа ц1ыхум 1эзагъ, 1ущагъ ин гъащ1эм къыхихауэ
и1эщ.
Егъэджак1уэ: Нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1 ц1ыхур адыгэхэм
ялъытэу щытакъым.
«Нэхъыжь зымыгъэлъап1э щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым» же1э адыгэ псалъэжьым.
Нэхъыжьым и унафэм къару щимы1э унагъуэм ноби «хабзэмыщ1э унагъуэщ» хужа1э.
Ат1э сыт хуэдэ хабзэ нэхъыжьым ехъэл1ауэ бгъэзэщ1эн хуейуэ адыгагъэм
къигъэуврэ?
Дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм абы теухуауэ ящ1эм. 1. Нэхъыжь ухуэзамэ, ар ц1ыхухъуми ц1ыхубзми, уэ нэхъапэ ф1эхъус епхын
хуейщ. Ауэ ф1эхъус щепхк1э уэ нэхъапэ уи 1эр умыший, и 1эр къып1эщ1илъхьэну
хуитыр езы нэхъыжьырщ.
2. Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым. Ар нэмысыншагъэщ. Укъэувы1эу
къак1уэр блэк1ыху уежьэн хуейщ.
3. Нэхъыжь гъуэгум къыщыпхуэзамэ, зэрызек1уэ хабзэ гуэрым уисмэ,
ибгъэт1ысхьэу здэк1уэм нэс пшэныр уи адыгэ къалэнщ.
4. Нэхъыжь щытмэ, нэхъыщ1эр нэмысыф1эу щытыпхъэщ. «Хэтхэ, ей а ц1ыху
мыгъасэр?» къыпхужамы1эн папщ1э.
5. Нэхъыжьым къыбжи1эм и к1эм нэс уедэ1уапхъэщ, а жи1эр уигу иримыхьми.
Къыбжи1эр е лъэ1ур бгъэзэщ1апхъэщ. Упсэумэ, а нэхъыжьым и п1эм уэри
узэриувэнур зэи зыщумыгъэгъупщэ. Нобэ уэ нэхъыжьым пщ1эуэ хуэпщ1ыр, пщэдей
уэ къыпхуащ1ыжынщ.
6. Нэхъыжь блэк1ыу ину упсэлъэныр, е ину удыхьэшхыныр емык1ущ, а
блэк1ым утепсэлъыхь е ук1элыдыхьэшх къыф1эщ1ынщ.
7. Нэхъыжьым и пащхьэ ущитк1э зып1уант1эу, зыпшант1эу уи 1эхэр уи жыпым
илъу, тутын уефэу, зыбгъэлъэгъуэныр емык1ущ.
8. 1энэ ущыпэрыт1ысхьэк1э, гуп ухэтмэ, пхуэмыфащэ т1ысып1э умыт1ыс.
Адыгэ 1энэм хабзэшхуэ щызок1уэ. «Жьант1ак1уэу ущымыт, узэрыщытыр
ялъагъунщ» же1э адыгэ псалъэжьым.
9. Нэхъыжь уи гъусэу ук1уэмэ, ижьырабгъур абы ейщ. Зыщ1ып1э
ущ1ыхьэнумэ, япэ щ1ык1э бжэр 1убохри нэхъыжьыр щ1ыбогъэхьэ, ит1анэ уэ
ущ1охьэ.
10. Нэхъыжьым ирифыну зыгуэр щептк1э, кружкэр лъащ1эмк1э уи 1эгум иту и
къур зэптым хуэгъэзауэ етын хуейщ. Нэхъыжьыр псы щефэк1э утэджын хуейщ. «Уи
хьэлэлщ» жы1эн хуейщ.
11. Нэхъыжьым зыщихуапэк1э дэ1эпыкъу, и щыгъыным хук1элъыплъ, и
вакъэр хуэгъэкъабзэ.
12. Жьы хъуам псалъэмакъышхуэрэ 1эуэлъауэшхуэрэ яф1эф1къым.
Нэхъыжьым сыт и лъэныкъуэк1и хуэсакъын хуейщ.
13. Уэрам тет1ысхьэп1эм утесу нэхъыжь блэк1мэ, укъэтэджын хуейщ. Блэк1ыр
ц1ыхубзми, ц1ыхухъуми ущысыныр нэмысыншагъэщ.
14.
Нэхъыжь щыту нэхъыщ1э т1ысыркъым,
ит1ысхьэркъым, и т1ысып1э хэхам деж т1ысыркъым.
абы и гъуэлъып1э
15. Нэхъыжьым нэщхъыдзэу, пхъашэу епсалъэркъым, абы зыпащ1ыжу
псалъэркъым.
16. Нэхъыжьыр хьэщ1эмэ, и закъуэу бгъэшхэныр хабзэм къе мык1ущ. Абы
шхыным и нэхъыф1ыр хуагъэфащэ.
17. Адэм, анэм е нэгъуэщ1 нэхъыжь гуэрым нэмэз ищ1ыну зигъэхьэзырмэ, абы
до1эпыкъу.
18. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1мэ, пщ1э хубощ1 адыгагъэм, уи лъэпкъым и
къежьап1эм.
19. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур.
Егъэджак1уэ: Ц1ыхухэм яку дэлъ пщ1эр, нэмысыр, гулъытэрщ гукъыдэж
къайзытыр. Адыгэм ауэ сытми жи1эркъым: «Ц1ыху ц1ыху щыжщ» жи1эу. Гуапэу сэлам къозыхым, къыпщ1эупщ1эм, гулъытэ къыпхуэзыщ1ым къару къыпхелъхьэ, уегъэгушхуэ,
гъащ1эм ущегъэгуф1ык1. Аращ гуапагъэмрэ нэщхъыф1агъэмрэ адыгэ хабзэм лъабжьэ быдэ
щ1ыхуэхъури.
Ц1ыхум узэрыхуэгуэпэн 1эмалхэм щ1эи гъуни я1экъым. Ауэ, псом нэхърэ нэхъ 1ейр арщи,
ц1ыхум уегуэуэнми зы мащ1э дыдэщ узыхуейр.
Зэрызэхэтхащи, псоми адыгэ хабзэр дощ1э. Ауэ, 1эмал имы1эу а хабзэ псори гъащ1эм
къыщыдгъэсэбэпын, ар ди хьэлщэным къыхэщу щытын хуейщ. Ди жагъуэ зарыхъунщи,
языныкъуэ ц1ык1ухэм хабзэр щащыгъупщэж щы1эщ. Дедэ1уэнщ таурыхъ зи1э адыгэ
псалъэжьым. «Шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа?».
Еджак1уэ: Хьэсэн тет1ысхьэп1эм тест, сэхуран и1унщ1у, и лъакъуэхэр зэтедзауэ.
Л1ыжь сымаджэр, хуэм дыдэу, баш и1ыгъыу къэк1уэжырт. Ар щилъагъум Хьэсэн абы
егуэуащ, ауан ищ1у:
Уа, тхьэмадэ, шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа? – жи1эри.
Ей, си щ1алэ, си щ1алэ, тхьэм ф1ык1э унигъэс. Уэри си ныбжь унэсмэ, зыри иумыту
къуатынщ башыр – жи1ащ л1ыжьым.
Егъэджак1уэ: (Сыт хуэдэ щыуагъэхэр ищ1а Хьэсэн?).
Ат1э иджы дедэ1уэнщ. Джаурджий Хь. итха рассказ к1эщ1 ц1ы
к1ум.
Еджак1уэ: Еджэн яухри школым къыщ1эк1ыжауэ Аслъэнрэ Муратрэ унэм
къэк1уэжырт. Абыхэм къалъэгъуащ тыкуэным къыщ1эк1ыжа нанэр. Абы къищэхуахэр
илъу чы матэ хьэлъэ и1ыгът. Аслъэн тхылъылъэр Мурат иритри нанэ матэр къы1ихащ. Абы
нанэр унэм нигъэсыжри къигъэзэжащ. Мурат къеупщ1ащ:
Хэт а зи матэр зыхуэпхьыжар?
Нанэщ, – жи1ащ Аслъэн.
Уэ уи нанэу ара? – Урикъуэрылъху, хьэмэ урипхъурылъху?
Хьэуэ, си нанэкъым.
Ат1э фи гъунэгъу?
Хьэуэ ди гъунэгъукъым.
Ат1э, уи сыт, дэнэ щыпц1ыхурэ?
Си зырик1щ, сц1ыхуркъым.
Ауэ нанэщ.
(Сыт хуэдэу къыхэщрэ Хьэсэн мы дыкъызэджа рассказым?)
Егъэджак1уэ: Иджы ди хьэщ1эхэм зедгъэгъэпсэхунщ, уэрэд, усэ едгъэдэ1уэнщ.
(Уэрэд «Жьы хъуа ц1ыхухэр ф1ыуэ флъагъу»).
Еджак1уэ:
«Псалъэ жагъуэ».
Зэгуэрым семыгупсысу
Зы псалъэ къызжьэдэк1ат.
Ар мамэ и гущ1эм нэсри,
И нэпсыр къыщ1игъэк1ат.
К1иякъым мамэ. Схуэшхыдэу,
Зы псалъи къызжимы1ат.
И 1элъэщ1 к1апэм щэху дыдэу
И нэпсыр к1уэц1игъэпщк1уат.
А нап1эзып1эм си псалъэм
Сык1элъыпхъуэнут, слъэк1ам. Ауэ, шэм хуэдэкъэ псалъэр,
Къимыгъэзэж п1эщ1эк1ам.
Сымыщ1эу сщ1эныр сыхэплъэу
Сэ махуэ псор есхьэк1ат.
Мамэ и жагъуэ хъун псалъэ
Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1ат?
Сэ шыгъушыпсып1эм сыхэлъу
Жэщ к1ыхьыр езгъэк1уэк1ат,
Си псэм щыщ хъуауэ къысхэлъым
Сэ, дауэ сегуэуэк1ат?
Анэгухэм нэхърэ нэхъ п1ащ1э,
Нэхъ махэ умыгъуэтын.
Зы мыхьэнэншэу къыпщыхъури,
Яхуохъур ахэм удын.
Дахущывгъэт нэхъ гумащ1эу
Анэхэм дахуэвгъэсакъ.
Сэ псалъэ жагъуэ жыс1ар зэ,
Зезгъэ1этауэ си макъ
Тенауэ, къупщхьэ къысф1эщ1у,
Иджыри ф1элъщ си тэмакъ.
Мыкъуэжь Анатолэ.
Егъэджак1уэ: Псоми зэрытщ1эщи, 1уэры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ щ1эблэр
гъэсэнымк1э. Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощ
псалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдым епхами, жып1э хъунущ, абы я къэлъэн нэхъыщхьэр
гъэсэныгъэрауэ. Сыт хуэдэу къыхэщу п1эрэ зэик1 жьы мыхъу псалъэжьхэм нэхъыжьым
хуэщ1ын хуей пщ1эмрэ нэмысымрэ?
Еджак1уэ: (зэпеуэ)
1. Нэхъыжьыр гъэлъап1и (уи щхьэ лъап1э хъунщ).
2. Зи нэхъыжь еда1уэ (и 1уэху мэк1уатэ).
3. Жьым еубзи (щ1эр гъэгушхуэ).
4. Нэхъыжьым жьэ ет, (нэхъыщ1эм гъуэгу ет).
5. Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр, (щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым.)
6. Нэхъыжь к1элъыджэркъым (к1элъок1уэ);
7. Щ1алэ къагъапц1э щхьэк1э, (л1ыжь пц1ы хуаупсрэ?).
8. Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, (щ1э зэрымысым насып илъкъым).
9. Жьант1эм ущ1эмыкъу (пхуэфащэмэ къыплъысынщ).
10. Нэхъыжьыф1 зи1э (нэхъыщ1эф1и и1эщ).
11. Жьыр щхьэукъуэреймэ, (щ1алэр джэгурейщ).
12. Л1ыжьыр жьэгум мак1уэ, (щ1алэр джэгум мак1уэ).
13. Ужьмэ жьы хуэдэ щыти, (ущ1эмэ, щ1э хуэдэу щыт).
Еджак1уэ: «Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей».
Ди нэхъыжьыф1хэм фи махуэ лъап1эм
Хъуэхъубжьэр фхуэфащэу щыф1эт.
Гупыр вгъэдахэу, хъуэхъу дахэ ф1эту,
Куэдрэ дэ фыкъытхэт! Ди нэхъыжьыф1хэу дыкъэзылъхуахэм,
Фи жьыщхьэр махуэ фхурехъу!
Бынхэр вгъэгуф1эу, къалъхуахэр вгъаф1у
Ди гъащ1эм щапхъэ фыхуэхъу.
Дадэ жьак1эхухэ, нанэ щхьэц1 тхъуахэ,
Жьыгъэри гъащ1эм и ныбжьщ.
Жьыгъэм фытек1уэу, зытевмыгъак1уэу
Ди нэхъыжьыф1хэр фыпсэу!
Фи щхьэцыр тхъуами, набгъэ фыхъуами,
Фи илъэс бжыгъэм жьыфэ фищ1ами,
Жьыгъэр зы1эту ц1ыхугъэ дахэм
Жьы фимыгъэхъуу фыпсэу!
Еджак1уэ: «1эбу ц1ык1у».
Нэхъыжь блэк1ым сыкъоувы1э,
Зыпызупщ1ыркъым и гъуэгу.
Ар блэк1ыхук1э блэк1 симы1э.
Хабзэм хъурэ удэджэгу!
Дади нани я т1ысып1э
Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.
Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1эм,
Яхузощ1ыр пщ1э, нэмыс.
Лъэпкъым щхьэузыхъ сыхуэхъуи.
Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.
Сощ1э ф1ыуэ, жьы сыщыхъум
Згъуэтужыныр, нобэ сщ1арщ.
Еджак1уэ:
«Дадэрэ нанэрэ».
Дадэ хъыбар сэ къызже1э,
Нани ищ1э шыпсэхэр сегъащ1э.
Дадэ куэдрэ сэ къыздогушы1э,
Нанэ сытым дежи схуогумащ1э.
Сыкъиинми дадэ зысхуешы1э,
Сыгъынанэми, нанэ зы жимы1э.
Т1у имыщ1у сэ дадэ сыт жызмы1эм
Нанэ хуэдэу къысхуэсакъ щымы1э.
Дадэ 1эджэрэ гуф1эу схуожы1эщ1э,
Нанэ и 1эф1агъыр фэ фымыщ1э.
Дади нани си псэм хуэдэщ,
Сэ абыхэм сахэмыдэ –
Зым фимы1э ахэм хуэдэ.
Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэ, иджы жыдывгъэ1эт, сыт хуэдэ гъэсэныгъэ къыхэфха
Жылэтэж С.
едгъэк1уэк1а псалъэмакъым?
1. Нэхъыжь и лъэ1у умыгъэзэщ1эныр емык1ущ.
2. Жьы хъуар дэ1эпыкъуэгъуншэ пщ1ы хъунукъым. 3. Уи анэ и жагъуэ пщ1ыныр, уи адэ уемыдэ1уэныр.
4. Уи Хэку, уи лъэпкъ уепц1ыжыныр.
5. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ, гъащ1эри къызэрыпхущыты
жынур.
Еджак1уэ:
Пщащэ зэк1ужхэ! Щ1алэ къуданхэ!
Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей!
1эгур вгъэлъалъэ, пшынэр вгъэпсалъэ,
Нэхъыжьым хуэдывгъэщ1 ислъэмей!
«Адыгэ къуажэ». (сабийхэм уэрэдыр ягъэзащ1э, къофэ).
Слайд 1«Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей»
Зыгъэхьэзырар : Хъущт Л.Б.
Слайд 2«Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей»
Мурадыр :
1. Щыгъуазэ щ1ын ижь — ижьыж лъандэрэ
адыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэ гъуэзэджэхэм;
2. «Сыт хуэдэ зэхущытык1э дэлъын хуей сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зэхуакум?» упщ1эм жэуап тэмэм етын;
3. Гъэсэн, нэхъыжьхэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу;
4. Адыгэ хабзэм мыхьэнэшхуэ балигъхэми сабийхэми я дежк1э зэри1эр ягурыгъэ1уэн;
5. Я бзэм зегъэужьын;
Слайд 4Псалъэжь
«Нэхъыжь зымыгъэлъап1э щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым.»
— Сыт хуэдэ хабзэ нэхъыжьым
ехьэл1ауэ бгъэзэщ1эн хуейуэ адыгагъэм къигъэуврэ?
Слайд 6Жьыр дэ1эпыкъуэгъу хуэныкъуэщ
Слайд 7Жьыр дэ1эпыкъуэгъу хуэныкъуэщ
Слайд 12Гъэсэныгъэ къыхэтхар
1. Нэхъыжь и лъэ1у умыгъэзэщ1эныр емык1ущ;
2. Жьы хъуар дэ1эпыкъуэгъуншэ пщ1ы
хъунукъым,
3. Уи анэ и жагъуэ пщ1ыныр, уи адэ уемыдэ1уэныр къемызэгъщ;
4. Уи Хэку, уи лъэпкъ уепц1ыжыныр емык1ущ;
5. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур;
Описание презентации по отдельным слайдам:
-
1 слайд
«Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей»
Зыгъэхьэзырар : Хъущт Л.Б. -
2 слайд
«Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей»
Мурадыр :
1. Щыгъуазэ щ1ын ижь — ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэ гъуэзэджэхэм;
2. «Сыт хуэдэ зэхущытык1э дэлъын хуей сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зэхуакум?» упщ1эм жэуап тэмэм етын;
3. Гъэсэн, нэхъыжьхэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу;
4. Адыгэ хабзэм мыхьэнэшхуэ балигъхэми сабийхэми я дежк1э зэри1эр ягурыгъэ1уэн;
5. Я бзэм зегъэужьын; -
3 слайд
Жьы хъуар хыф1адзэжыркъым!
-
4 слайд
Псалъэжь
«Нэхъыжь зымыгъэлъап1э щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым.»— Сыт хуэдэ хабзэ нэхъыжьым ехьэл1ауэ бгъэзэщ1эн хуейуэ адыгагъэм къигъэуврэ?
-
5 слайд
Жьы хъуам дэ1эпыкъун хуейщ
-
6 слайд
Жьыр дэ1эпыкъуэгъу хуэныкъуэщ
-
7 слайд
Жьыр дэ1эпыкъуэгъу хуэныкъуэщ
-
8 слайд
Жьы хъуам дэ1эпыкъун хуейщ
-
9 слайд
Жьы хъуам дэ1эпыкъун хуейщ
-
10 слайд
Жьыр дэ1эпыкъуэгъу хуэныкъуэщ
-
11 слайд
Жьы хъуам дэ1эпыкъун хуейщ
-
12 слайд
Гъэсэныгъэ къыхэтхар
1. Нэхъыжь и лъэ1у умыгъэзэщ1эныр емык1ущ;
2. Жьы хъуар дэ1эпыкъуэгъуншэ пщ1ы хъунукъым,
3. Уи анэ и жагъуэ пщ1ыныр, уи адэ уемыдэ1уэныр къемызэгъщ;
4. Уи Хэку, уи лъэпкъ уепц1ыжыныр емык1ущ;
5. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур; -
13 слайд
Жьым фымыщ1 и жагъуэ!
А псалъэжь Iущым щIэлъыр аращи, нэхъыжьым пщIэ хуэзымыщIым адыгэхэм зэи фэ ираплъу щытакъым, цIыхуми хабжэтэкъым. Нэхъыжьым и унафэм къару здимыIэ, абы и псалъэр здыземыкIуэ унагъуэм ноби «щIалэ-унэ джэдэщ» — хужаIэр. Ауэ апхуэдиз пщIэр къыхуэзыщI лъэпкъым и хабзэми ткIийуэ къигъэувт езы нэхъыжьри къыхуащI пщIэм хуэфэщэжу щытыпхъэу.
Сыт хуэдэ лъэпкъми нэхъыжьым ехьэлIа хабзэхэр иIэжщ. ИкIи ар йокIур езы лъэпкъым и дуней тетыкIэм, зэхэтыкIэм, къикIуа гъащIэ гъуэгум. Нэхъыжьым ехьэлIа адыгэ хабзэхэр ебгъапщэ хъунущ икIи куэдкIэ ещхьщ китайхэм я хабзэ «сло», иджырей Индием и хабзэ «ману», японхэм я хабзэ дахэхэм.
Пасэ зэманым нэхъыжьым и пщIэр и щIыхьыр апхуэдизкIэ лъагэти, лъэпкъым фIы къехъулIэми, Iей къыщыщIами, зыхуахьыр нэхъыжьхэрт, ахэм яхуэщIа, яхуэмыщIа унафэрт. Лъэпкъым и набдзэу щытыр нэхъыжьхэрт.
Фи пщlэмрэ, фи щlыхьымрэ лъагэу илъэс куэдкlэ ди япэ Тхьэм фыригъэт, ди нэхъыжь лъапlэхэ 🙏🏻💚
Черим Нахушев — Дадэ Нанэ
Обновлено: 11.03.2023
2 Мурадыр: 1. Еджак1уэхэм адыгэ ф1эхъусыр егъщ1эн: 2. Къэк1уэну щ1эблэр утыку итыфу егъэсэн, я бзэмк1э хуиту псэлъэфу тегъэгушхуэн. 3. Нэхъыжьыф1хэм пщ1э, нэмыс зэрыхуэщ1ын хуейм щыгъэгъуэзэн. 4. Хьэлщэн дахэ яхэлъу къэгъэтэджын.
3 Ц1ыху ц1ыхум зэхищ1ык1ым, Щыгуф1ык1ыу игъэгушхуэм Игъэпэжым игъэлъап1эм, Псоми дощ1эр — ар ц1ыхугъэщ, Нэгъэсауэ адыгагъэщ Адыгагъэр – ар ц1ыхугъэщ.
4 Къытхуэк1уэм тф1эф1щ ди хьэщ1э махуэ Къеблагъэ!- жыт1эу ды1ущ1энщ Ирегъэмахуэ е щ1ымахуэ, Дэ зэрытлъэк1к1э дгъэхьэщ1энщ.
5 Ди1эщ адыгэм хабзэ дахэ: Ди унэм къихьэу щытмэ хьэщ1э, Ар хэту щытми, къепсыхахэм Бысымыр гуапэу хуейщ 1ущ1эн.
7 1.Дуней псом къыщац1ыхуу хъыджэбзхэми щ1алэхэми фащэ дахэ ящыгът. Адыгэ фащэ. 2. Къэуат зыщ1элъ адыгэ шхыныгъуэ зэмылъэужьыгъуэхэр яупщэф1т. 3. Адыгэ унагъуэм сабий ц1ык1у къахэхъуа нэужь гущэхэпхэ, лъэтеувэ, кхъуей плъыжь к1эрыщ1э жыхуа1эхэрхуащ1ырт,ягъэлъап1эрт. 4. Сабий щагъасэк1э щ1мык1иеу, удын ирамыхыу ягъэсэфырт. Джэгук1э куэд щы1эт.
8 1. Адыгэ хабзэр пщ1эн хуейщ, емык1у къомыхьу узыхыхьэм уахэтын папщ1э. 2. Пэжыр жып1эфу, захуэм урителъхьэу, умышынэу ущытын щхьэк1э. 3. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1у, сабийм дыхуэсакъыу къэхъун папщ1э. 4. Хабзэм дытепсэлъыхьрэ, хабзэмыщ1э дымыхъуу, ф1ыуэ зыхэтхыр, дахэу тлъагъур хьэлщэн тхуэхъун папщ1э.
9 Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьэр. Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар. Хабзэращ лъэпкъым жьэгу пащхьэр зыгъаблэр. Нахъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумэр. Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уэр, А зыращ щ1алэм дамэ лъэщыр къыхихар Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар. Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар, Хабзэращ нобэ намыс ди1эр къэзыхьар. Уэзыращ, хабзэ, ди къэк1уэнур зыпыщ1ар. Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.
10 Хабзэм, нэмысым теухуа псалъэжьхэр дигу къэдывгъэк1ыжыт. — Хабзэрэ бзыпхъэрэ – хабзэмыщ1э – щ1ык1ейщ. — Хабзэр бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым. — Хабзэф1ыр къегъэжьэгъуейщ, ауэ хэгъэк1уэдыгъуаф1эщ. — Нэмыс зимы1эм нэсып и1экъым. — Нэмысыр хьэхууи ятыркъым, щ1ыхуэуи къащтэркъым.
11 — Нахъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым. — Нэхъыжьыр къоувы1эри нахъыжьыр благъэк1. — Нахъыжьым еда1уэ, нэхъыжьым пщ1э хуэщ1. — Нэхъыжьыр умыгъэпуд. — Нэхъыжьыр гъэлъап1и, уи щхьэр лъап1э хъунщ.
12 — Адыгэ лъэпкъым фыкъызыхэк1ар зыщывмыгъэгъупщэ. — Адыгэ хабзэ, нэмыс зыхэвгъэлъ, фхъумэ. — Фи адэ хэкужь хуэфщ1эн быну фыщыт. — Адыгэ напэр тезмыхын щ1эблэу фыкъэхъу..
13 — Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ. — Хьэщ1эм насып къыдок1уэ.
18 Лъэпкъыр ар 1эплъэпкъщ Бзэр абы и псэу ялъытэ Ат1э хабзэр лъэпкъым и фащэщи А фащэр зедывгъыхьэ.
1. Пэщ1эдзэ классхэмщеджэ ц1ык1ухэм я бзэмзегъэужьын.
2. Сабийхэрщыгъуазэ щ1ын ижь-ижьыжлъандэрэадыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэгъуэзэджэхэм.
4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, нэхъыжьхэмхуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.
5. Адыгэхабзэммыхьэнэшхуэбалигъхэмисабийхэми я дежк1э зэри1эр ц1ык1ухэм ягурыгъэ1уэн.
6. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын хабзэр зымыгъэзащ1эхэр щытык1э гугъухэмзэриувэркъэзыгъэлъагъуэусэхэм, псалъэжьхэм.
Еджак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ!
Фыкъеблагъэди хьэщ1э лъап1эхэ!
Егъэджак1уэ: Диадыгэхабзэм и фащэнэхъапэдыдэхэмящыщщ, адыгагъэмрэадыгэнэмысымрэ 1ыгъыныр. Абы къызэщ1еубыдэ ц1ыхум и щ1ыхьыр зэримыгъэпудыныр, пэжыгъэр, ук1ытэр, гулъытэр, нэхъы-жьым пщ1э хуэщ1ыныр бзылъхугъэрлъытэныр, сабиймхуэсакъыныр, гъэсэныгъэхэлъхьэныр.
Мы зигугъу сщ1а 1уэхугъуэ псомиухэплъэжмэ, гуры1уэгъуэ мэхъуадыгэунагъуэмсабиймщигъуэтым хуей гъэсэныгъэм и куууагъыр.
Къэтщтэнщнобэнэхъдызыгъэгузавэзы 1уэхугъуэ: нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ яку дэлъ зэхущытык1эр. Аращдипсалъэмакъризытеухуауэщытынур.
Тхыдэмуриплъэж нэужьк1э, лъэпкъкуэдым я деж ущрохьэл1э ц1ыхухэм жьыхъуахэр яук1ыжу, бгым щ1адзу, щ1ып1э пхыдзамяшэрэкъагъанэузэрыщытар. Апхуэдэхъыбархэтщдиадыгэ 1уэры1уатэми.
Дедэ1уэнщ Бэдынокъуэнартхэмкъахилъхьа хабзэф1ым теухуахъыбарым.
Еджак1уэ: Бэдынокъуэ и адэБэдынишатбгымщидзыну, ауэгу щ1эгъур къытек1уэри абы и адэр иук1акъым. Мэзым щигъэпщк1ури къэк1уэжащ.
Гъейщыхъум, л1ыжьым и чэнджэщхэмк1э гъавэр къахуэк1ыу, 1эщхэр яхуэбагъуэу щ1идзэжащ.
Мы хъыбырымкъыщежьэу жып1э хъунущнэхъыжьым хуэщ1ын хуей гулъытэр, пщ1эр. Къарук1э пэмылъэщыжми, жьыхъуа ц1ыхум 1эзагъ, 1ущагъ ин гъащ1эм къыхихауэ и1эщ.
Егъэджак1уэ: Нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1 ц1ыхур адыгэхэм
Ат1э сыт хуэдэхабзэнэхъыжьым ехъэл1ауэ бгъэзэщ1эн хуейуэадыгагъэмкъигъэуврэ?
Дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм абы теухуауэ ящ1эм.
1. Нэхъыжьухуэзамэ, ар ц1ыхухъуми ц1ыхубзми, уэнэхъапэ ф1эхъус епхынхуейщ. Ауэ ф1эхъус щепхк1э уэнэхъапэуи 1эр умыший, и 1эр къып1эщ1илъхьэну хуитырезынэхъыжьырщ.
2. Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым. Ар нэмысыншагъэщ. Укъэувы1эу къак1уэр блэк1ыху уежьэнхуейщ.
3. Нэхъыжьгъуэгумкъыщыпхуэзамэ, зэрызек1уэ хабзэгуэрымуисмэ, ибгъэт1ысхьэу здэк1уэм нэспшэныруиадыгэкъалэнщ.
5. Нэхъыжьым къыбжи1эм и к1эм нэс уедэ1уапхъэщ, а жи1эр уигуиримыхьми. Къыбжи1эр е лъэ1ур бгъэзэщ1апхъэщ. Упсэумэ, а нэхъыжьым и п1эм уэриузэриувэнурзэизыщумыгъэгъупщэ. Нобэуэнэхъыжьым пщ1эуэ хуэпщ1ыр, пщэдейуэ къыпхуащ1ыжынщ.
6. Нэхъыжь блэк1ыу инуупсэлъэныр, е инуудыхьэшхыныр емык1ущ, а блэк1ым утепсэлъыхь е ук1элыдыхьэшх къыф1эщ1ынщ.
7. Нэхъыжьым и пащхьэ ущитк1э зып1уант1эу, зыпшант1эу уи 1эхэр уижыпымилъу, тутынуефэу, зыбгъэлъэгъуэныр емык1ущ.
9. Нэхъыжьуигъусэу ук1уэмэ, ижьырабгъур абы ейщ. Зыщ1ып1э ущ1ыхьэнумэ, япэ щ1ык1э бжэр 1убохри нэхъыжьыр щ1ыбогъэхьэ, ит1анэ уэ ущ1охьэ.
11. Нэхъыжьым зыщихуапэк1э дэ1эпыкъу, и щыгъыным ху-к1элъыплъ, и вакъэрхуэгъэкъабзэ.
12. Жьыхъуампсалъэмакъышхуэрэ 1эуэлъауэшхуэрэ яф1эф1-къым. Нэхъыжьым сыт и лъэныкъуэк1и хуэсакъынхуейщ.
13. Уэрам тет1ысхьэп1эм утесу нэхъыжь блэк1мэ, укъэтэджынхуейщ. Блэк1ыр ц1ыхубзми, ц1ыхухъуми ущысынырнэмысыншагъэщ.
14. Нэхъыжьщыту нэхъыщ1э т1ысыркъым, абы и гъуэлъып1э ит1ысхьэркъым, и т1ысып1э хэхамдеж т1ысыркъым.
15. Нэхъыжьымнэщхъыдзэу, пхъашэуепсалъэркъым, абы зыпа-щ1ыжу псалъэркъым.
16. Нэхъыжьыр хьэщ1эмэ, и закъуэубгъэшхэнырхабзэмкъе- мык1ущ. Абы шхыным и нэхъыф1ыр хуагъэфащэ.
17. Адэм, анэм е нэгъуэщ1 нэхъыжьгуэрымнэмэз ищ1ыну зи-гъэхьэзырмэ, абы до1эпыкъу.
18. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1мэ, пщ1э хубощ1 адыгагъэм, уилъэпкъым и къежьап1эм.
19. Хабзэмузэрыхущытымхуэдэущ гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур.
Ц1ыхум узэрыхуэгуэпэн 1эмалхэм щ1эи гъуни я1экъым. Ауэ, псом нэхърэнэхъ 1ейр арщи, ц1ыхум уегуэуэнмизы мащ1э дыдэщузыхуейр.
Еджак1уэ: Хьэсэн тет1ысхьэп1эм тест, сэхуран и1унщ1у, и лъа-къуэхэрзэтедзауэ. Л1ыжь сымаджэр, хуэмдыдэу, баш и1ыгъыу къэк1уэжырт. Ар щилъагъумХьэсэн абы егуэуащ, ауан ищ1у:
— Уа, тхьэмадэ, шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа? – жи1эри.
— Ей, си щ1алэ, си щ1алэ, тхьэм ф1ык1э унигъэс. Уэри си ныбжьунэсмэ, зырииумытукъуатынщбашыр – жи1ащ л1ыжьым.
Егъэджак1уэ: (Сыт хуэдэщыуагъэхэр ищ1а Хьэсэн?).
Ат1э иджы дедэ1уэнщ. ДжаурджийХь. итхарассказ к1эщ1 ц1ы-
Еджак1уэ: Еджэняухришколым къыщ1эк1ыжауэ АслъэнрэМуратрэунэм къэк1уэжырт. Абыхэмкъалъэгъуащтыкуэным къыщ1эк1ыжа нанэр. Абы къищэхуахэрилъучыматэхьэлъэ и1ыгът. Аслъэнтхылъылъэр Мурат иритринанэматэр къы1ихащ. Абы нанэрунэмнигъэсыжрикъи-гъэзэжащ. Мурат къеупщ1ащ:
— Хэт а зиматэрзыхуэпхьыжар?
— Нанэщ, – жи1ащ Аслъэн.
Уэуинанэу ара? – Урикъуэрылъху, хьэмэурипхъурылъху?
— Хьэуэ, си нанэкъым.
— Ат1э фи гъунэгъу?
— Ат1э, уи сыт, дэнэ щыпц1ыхурэ?
— Си зырик1щ, сц1ыхуркъым.
(Сыт хуэдэукъыхэщрэХьэсэн мы дыкъызэджарассказым?)
Егъэджак1уэ: Иджыди хьэщ1эхэм зедгъэгъэпсэхунщ, уэрэд, усэ едгъэдэ1уэнщ.
Ар мамэ и гущ1эм нэсри,
И нэпсыр къыщ1игъэк1ат.
К1иякъым мамэ. Схуэшхыдэу,
И 1элъэщ1 к1апэм щэхудыдэу
И нэпсыр к1уэц1игъэпщк1уат.
А нап1эзып1эм си псалъэм
Сымыщ1эу сщ1эныр сыхэплъэу
Мамэ и жагъуэхъунпсалъэ
Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1ат?
Сэ шыгъушыпсып1эм сыхэлъу
Жэщ к1ыхьыр езгъэк1уэк1ат,
Сэ, дауэ сегуэуэк1ат?
Сэпсалъэжагъуэ жыс1ар зэ,
Зезгъэ1этауэ си макъ
Тенауэ, къупщхьэ къысф1эщ1у,
Иджыри ф1элъщ си тэмакъ.
Егъэджак1уэ: Псоми зэрытщ1эщи, 1уэры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ щ1эблэр гъэсэнымк1э. Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощпсалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдымепхами, жып1э хъунущ, абы я къэлъэннэхъыщхьэргъэсэныгъэрауэ. Сыт хуэдэукъыхэщу п1эрэ зэик1 жьымыхъупсалъэжьхэмнэхъыжьым хуэщ1ын хуей пщ1эмрэ нэмысымрэ?
1. Нэхъыжьыр гъэлъап1и (уищхьэ лъап1э хъунщ).
2. Зинэхъыжь еда1уэ (и 1уэху мэк1уатэ).
3. Жьымеубзи (щ1эр гъэгушхуэ).
4. Нэхъыжьымжьэет, (нэхъыщ1эм гъуэгует).
5. Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр, (щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым.)
6. Нэхъыжь к1элъыджэркъым — (к1элъок1уэ);
7. Щ1алэ къагъапц1э щхьэк1э, (л1ыжь пц1ы хуаупсрэ?).
8. Жьызэрымысымнэмысилъкъым, (щ1э зэрымысым насып илъкъым).
9. Жьант1эм ущ1эмыкъу (пхуэфащэмэкъыплъысынщ).
10. Нэхъыжьыф1 зи1э (нэхъыщ1эф1и и1эщ).
11. Жьырщхьэукъуэреймэ, (щ1алэр джэгурейщ).
12. Л1ыжьыр жьэгум мак1уэ, (щ1алэр джэгум мак1уэ).
13. Ужьмэжьыхуэдэщыти, (ущ1эмэ, щ1э хуэдэущыт).
Ди нэхъыжьыф1хэм фи махуэ лъап1эм
Гупырвгъэдахэу, хъуэхъудахэ ф1эту,
Куэдрэ дэ фыкъытхэт!
Ди нэхъыжьыф1хэу дыкъэзылъхуахэм,
Бынхэр вгъэгуф1эу, къалъхуахэр вгъаф1у
Ди гъащ1эм щапхъэфыхуэхъу.
Дадэ жьак1эхухэ, нанэ щхьэц1 тхъуахэ,
Жьыгъэри гъащ1эм и ныбжьщ.
Жьыгъэм фытек1уэу, зытевмыгъак1уэу
Ди нэхъыжьыф1хэр фыпсэу!
Фи щхьэцыртхъуами, набгъэфыхъуами,
Фи илъэсбжыгъэмжьыфэ фищ1ами,
Жьыгъэр зы1эту ц1ыхугъэ дахэм
Нэхъыжь блэк1ым сыкъоувы1э,
Зыпызупщ1ыркъым и гъуэгу.
Ар блэк1ыхук1э блэк1 симы1э.
Дадинани я т1ысып1э
Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.
Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1эм,
Яхузощ1ыр пщ1э, нэмыс.
Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.
Сощ1э ф1ыуэ, жьысыщыхъум
Згъуэтужыныр, нобэ сщ1арщ.
Нани ищ1э шыпсэхэр сегъащ1э.
Нанэ сытым дежи схуогумащ1э.
Сыгъынанэми, нанэзы жимы1э.
Т1у имыщ1у сэдадэ сыт жызмы1эм
Дадэ 1эджэрэ гуф1эу схуожы1эщ1э,
Нанэ и 1эф1агъыр фэ фымыщ1э.
Дадинани си псэмхуэдэщ,
Зым фимы1э ахэмхуэдэ.
Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэ, иджы жыдывгъэ1эт, сыт хуэдэгъэсэныгъэкъыхэфха едгъэк1уэк1а псалъэмакъым?
- Для учеников 1-11 классов и дошкольников
- Бесплатные сертификаты учителям и участникам
(адыгэбзэм и тхьэмахуэ)
1. Пэщ1эдзэ классхэм щеджэ ц1ык1ухэм я бзэм зегъэужьын.
2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэ гъуэзэджэхэм.
4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, нэхъыжьхэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.
5. Адыгэ хабзэм мыхьэнэшхуэ балигъхэми сабийхэми я дежк1э зэри1эр ц1ык1ухэм ягурыгъэ1уэн.
6. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын хабзэр зымыгъэзащ1эхэр щытык1э гугъухэм зэриувэр къэзыгъэлъагъуэ усэхэм, псалъэжьхэм.
Еджак1уэ : Фи махуэ ф1ыуэ!
Фыкъеблагъэ ди хьэщ1э лъап1эхэ!
Сэлам гуапэ фыдох!
Егъэджак1уэ: Ди адыгэ хабзэм и фащэ нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ, адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр. Абы къызэщ1еубыдэ ц1ыхум и щ1ыхьыр зэримыгъэпудыныр, пэжыгъэр, ук1ытэр, гулъытэр, нэхъы-жьым пщ1э хуэщ1ыныр бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, гъэсэныгъэ хэлъхьэныр.
Мы зи гугъу сщ1а 1уэхугъуэ псоми ухэплъэжмэ, гуры1уэгъуэ мэхъу адыгэ унагъуэм сабийм щигъуэтын хуей гъэсэныгъэм и куууагъыр.
Къэтщтэнщ нобэ нэхъ дызыгъэгузавэ зы 1уэхугъуэ: нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ яку дэлъ зэхущытык1эр. Аращ ди псалъэмакъри зытеухуауэ щытынур.
Тхыдэм уриплъэж нэужьк1э, лъэпкъ куэдым я деж ущрохьэл1э ц1ыхухэм жьы хъуахэр яук1ыжу, бгым щадзу, щ1ып1э пхыдзам яшэрэ къагъанэу зэрыщытар. Апхуэдэ хъыбар хэтщ ди адыгэ 1уэры1уатэми.
Дедэ1уэнщ Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэф1ым теухуа хъыбарым.
Еджак1уэ : Бэдынокъуэ и адэ Бэдын ишат бгым щидзыну, ауэ гущ1эгъур къытек1уэри абы и адэр иук1акъым. Мэзым щигъэпщк1ури къэк1уэжащ.
Гъей щыхъум, л1ыжьым и чэнджэщхэмк1э гъавэр къахуэк1ыу, 1эщхэр яхуэбагъуэу щ1идзэжащ.
Мы хъыбырым къыщежьэу жып1э хъунущ нэхъыжьым хуэщ1ын хуей гулъытэр, пщ1эр. Къарук1э пэмылъэщыжми, жьы хъуа ц1ыхум 1эзагъ, 1ущагъ ин гъащ1эм къыхихауэ и1эщ.
Егъэджак1уэ: Нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1 ц1ыхур адыгэхэм
Ат1э сыт хуэдэ хабзэ нэхъыжьым ехъэл1ауэ бгъэзэщ1эн хуейуэ адыгагъэм къигъэуврэ?
Дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм абы теухуауэ ящ1эм.
1. Нэхъыжь ухуэзамэ, ар ц1ыхухъуми ц1ыхубзми, уэ нэхъапэ ф1эхъус епхын хуейщ. Ауэ ф1эхъус щепхк1э уэ нэхъапэ уи 1эр умыший, и 1эр къып1эщ1илъхьэну хуитыр езы нэхъыжьырщ.
2. Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым. Ар нэмысыншагъэщ. Укъэувы1эу къак1уэр блэк1ыху уежьэн хуейщ.
3. Нэхъыжь гъуэгум къыщыпхуэзамэ, зэрызек1уэ хабзэ гуэрым уисмэ, ибгъэт1ысхьэу здэк1уэм нэс пшэныр уи адыгэ къалэнщ.
5. Нэхъыжьым къыбжи1эм и к1эм нэс уедэ1уапхъэщ, а жи1эр уигу иримыхьми. Къыбжи1эр е лъэ1ур бгъэзэщ1апхъэщ. Упсэумэ, а нэхъыжьым и п1эм уэри узэриувэнур зэи зыщумыгъэгъупщэ. Нобэ уэ нэхъыжьым пщ1эуэ хуэпщ1ыр, пщэдей уэ къыпхуащ1ыжынщ.
6. Нэхъыжь блэк1ыу ину упсэлъэныр, е ину удыхьэшхыныр емык1ущ, а блэк1ым утепсэлъыхь е ук1элъыдыхьэшх къыф1эщ1ынщ.
7. Нэхъыжьым и пащхьэ ущитк1э зып1уант1эу, зыпшант1эу уи 1эхэр уи жыпым илъу, тутын уефэу, зыбгъэлъэгъуэныр емык1ущ.
9. Нэхъыжь уи гъусэу ук1уэмэ, ижьырабгъур абы ейщ. Зыщ1ып1э ущ1ыхьэнумэ, япэ щ1ык1э бжэр 1убохри нэхъыжьыр щ1ыбогъэхьэ, ит1анэ уэ ущ1охьэ.
11. Нэхъыжьым зыщихуапэк1э дэ1эпыкъу, и щыгъыным хук1элъыплъ, и вакъэр хуэгъэкъабзэ.
12. Жьы хъуам псалъэмакъышхуэрэ 1эуэлъауэшхуэрэ яф1эф1къым. Нэхъыжьым сыт и лъэныкъуэк1и хуэсакъын хуейщ.
13. Уэрам тет1ысхьэп1эм утесу нэхъыжь блэк1мэ, укъэтэджын хуейщ. Блэк1ыр ц1ыхубзми, ц1ыхухъуми ущысыныр нэмысыншагъэщ.
14. Нэхъыжь щыту нэхъыщ1э т1ысыркъым, абы и гъуэлъып1э ит1ысхьэркъым, и т1ысып1э хэхам деж т1ысыркъым.
15. Нэхъыжьым нэщхъыдзэу, пхъашэу епсалъэркъым, абы зыпащ1ыжу псалъэркъым.
16. Нэхъыжьыр хьэщ1эмэ, и закъуэу бгъэшхэныр хабзэм къемык1ущ. Абы шхыным и нэхъыф1ыр хуагъэфащэ.
17. Адэм, анэм е нэгъуэщ1 нэхъыжь гуэрым нэмэз ищ1ыну зигъэхьэзырмэ, абы до1эпыкъу.
18. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1мэ, пщ1э хубощ1 адыгагъэм, уи лъэпкъым и къежьап1эм.
19. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур .
Ц1ыхум узэрыхуэгуэпэн 1эмалхэм щ1эи гъуни я1экъым. Ауэ, псом нэхърэ нэхъ 1ейр арщи, ц1ыхум уегуэуэнми зы мащ1э дыдэщ узыхуейр.
Еджак1уэ : Хьэсэн тет1ысхьэп1эм тест, сэхуран и1унщ1у, и лъакъуэхэр зэтедзауэ. Л1ыжь сымаджэр, хуэм дыдэу, баш и1ыгъыу къэк1уэжырт. Ар щилъагъум Хьэсэн абы егуэуащ, ауан ищ1у:
— Уа, тхьэмадэ, шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа? – жи1эри.
— Ей, си щ1алэ, си щ1алэ, тхьэм ф1ык1э унигъэс. Уэри си ныбжь унэсмэ, зыри иумыту къуатынщ башыр – жи1ащ л1ыжьым.
Егъэджак1уэ: -Сыт хуэдэ щыуагъэхэр ищ1а Хьэсэн?
— Ат1э иджы дедэ1уэнщ Джаурджий Хь. итха рассказ к1эщ1 ц1ык1ум.
Еджак1уэ : Еджэн яухри школым къыщ1эк1ыжауэ Аслъэнрэ Муратрэ унэм къэк1уэжырт. Абыхэм къалъэгъуащ тыкуэным къыщ1эк1ыжа нанэр. Абы къищэхуахэр илъу чы матэ хьэлъэ и1ыгът. Аслъэн тхылъылъэр Мурат иритри нанэ матэр къы1ихащ. Абы нанэр унэм нигъэсыжри къигъэзэжащ. Мурат къеупщ1ащ:
— Хэт а зи матэр зыхуэпхьыжар?
— Нанэщ, – жи1ащ Аслъэн.
— Уэ уи нанэу ара? – Урикъуэрылъху, хьэмэ урипхъурылъху?
— Хьэуэ, си нанэкъым.
— Ат1э фи гъунэгъу?
— Хьэуэ ди гъунэгъукъым.
— Ат1э, уи сыт, дэнэ щыпц1ыхурэ?
— Си зырик1щ, сц1ыхуркъым. Ауэ нанэщ.
Егъэджак1уэ: Сыт хуэдэу къыхэщрэ Хьэсэн мы дыкъызэджа рассказым?
Егъэджак1уэ: Иджы ди хьэщ1эхэм зедгъэгъэпсэхунщ, уэрэд, усэ едгъэдэ1уэнщ.
Зы псалъэ къызжьэдэк1ат.
Ар мамэ и гущ1эм нэсри,
И нэпсыр къыщ1игъэк1ат.
К1иякъым мамэ. Схуэшхыдэу,
Зы псалъи къызжимы1ат.
И 1элъэщ1 к1апэм щэху дыдэу
И нэпсыр к1уэц1игъэпщк1уат.
А нап1эзып1эм си псалъэм
Ауэ, шэм хуэдэкъэ псалъэр,
Сымыщ1эу сщ1эныр сыхэплъэу
Сэ махуэ псор есхьэк1ат.
Мамэ и жагъуэ хъун псалъэ
Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1ат?
Сэ шыгъушыпсып1эм сыхэлъу
Жэщ к1ыхьыр езгъэк1уэк1ат,
Си псэм щыщ хъуауэ къысхэлъым
Сэ, дауэ сегуэуэк1ат?
Анэгухэм нэхърэ нэхъ п1ащ1э,
Нэхъ махэ умыгъуэтын.
Зы мыхьэнэншэу къыпщыхъури,
Яхуохъур ахэм удын.
Дахущывгъэт нэхъ гумащ1эу
Сэ псалъэ жагъуэ жыс1ар зэ,
Зезгъэ1этауэ си макъ,
Тенауэ, къупщхьэ къысф1эщ1у,
Иджыри ф1элъщ си тэмакъ.
Мыкъуэжь Анатолэ.
Егъэджак1уэ: Псоми зэрытщ1эщи, 1уэры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ щ1эблэр гъэсэнымк1э. Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощ псалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдым епхами, жып1э хъунущ, абы я къэлъэн нэхъыщхьэр гъэсэныгъэрауэ. Сыт хуэдэу къыхэщу п1эрэ зэик1 жьы мыхъу псалъэжьхэм нэхъыжьым хуэщ1ын хуей пщ1эмрэ нэмысымрэ?
Еджак1уэ : (зэпеуэ)
1. Нэхъыжьыр гъэлъап1и (уи щхьэ лъап1э хъунщ).
2. Зи нэхъыжь еда1уэ (и 1уэху мэк1уатэ).
3. Жьым еубзи (щ1эр гъэгушхуэ).
4. Нэхъыжьым жьэ ет, (нэхъыщ1эм гъуэгу ет).
5. Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр, (щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым.)
6. Нэхъыжь к1элъыджэркъым — (к1элъок1уэ);
7. Щ1алэ къагъапц1э щхьэк1э, (л1ыжь пц1ы хуаупсрэ?).
8. Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, (щ1э зэрымысым насып илъкъым).
9. Жьант1эм ущ1эмыкъу (пхуэфащэмэ къыплъысынщ).
10. Нэхъыжьыф1 зи1э (нэхъыщ1эф1и и1эщ).
11. Жьыр щхьэукъуэреймэ, (щ1алэр джэгурейщ).
12. Л1ыжьыр жьэгум мак1уэ, (щ1алэр джэгум мак1уэ).
13. Ужьмэ жьы хуэдэ щыти, (ущ1эмэ, щ1э хуэдэу щыт).
Ди нэхъыжьыф1хэм фи махуэ лъап1эм
Хъуэхъубжьэр фхуэфащэу щыф1эт.
Гупыр вгъэдахэу, хъуэхъу дахэ ф1эту,
Куэдрэ дэ фыкъытхэт!
Ди нэхъыжьыф1хэу дыкъэзылъхуахэм,
Фи жьыщхьэр махуэ фхурехъу!
Бынхэр вгъэгуф1эу, къалъхуахэр вгъаф1эу
Ди гъащ1эм щапхъэ фыхуэхъу.
Дадэ жьак1эхухэ, нанэ щхьэц1 тхъуахэ,
Жьыгъэри гъащ1эм и ныбжьщ.
Жьыгъэм фытек1уэу, зытевмыгъак1уэу
Ди нэхъыжьыф1хэр фыпсэу!
Фи щхьэцыр тхъуами, набгъэ фыхъуами,
Фи илъэс бжыгъэм жьыфэ фищ1ами,
Жьыгъэр зы1эту ц1ыхугъэ дахэм
Жьы фимыгъэхъуу фыпсэу!
Нэхъыжь блэк1ым сыкъоувы1э,
Зыпызупщ1ыркъым и гъуэгу.
Ар блэк1ыхук1э блэк1 симы1э.
Хабзэм хъурэ удэджэгу!
Дади нани я т1ысып1э
Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.
Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1эм,
Яхузощ1ыр пщ1э, нэмыс.
Лъэпкъым щхьэузыхъ сыхуэхъуи.
Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.
Сощ1э ф1ыуэ, жьы сыщыхъум
Згъуэтужыныр, нобэ сщ1арщ.
Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэ, иджы жыдывгъэ1эт, сыт хуэдэ гъэсэныгъэ къыхэфха едгъэк1уэк1а псалъэмакъым?
1. Нэхъыжь и лъэ1у умыгъэзэщ1эныр емык1ущ.
2. Жьы хъуар дэ1эпыкъуэгъуншэ пщ1ы хъунукъым.
3.Уи анэ и жагъуэ пщ1ыныр, уи адэ уемыдэ1уэныр къемызэгъщ.
4. Уи Хэку, уи лъэпкъ уепц1ыжыныр емык1ущ.
5. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ, гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур.
Еджак1уэ : Пщащэ зэк1ужхэ! Щ1алэ къуданхэ!
Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей!
1эгур вгъэлъалъэ, пшынэр вгъэпсалъэ,
Нэхъыжьым хуэдывгъэщ1 ислъэмей!
(классщ1ыб лэжьыгъэ 2-4 кл.)
1. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм илъэсыщ1эр къыщихьэ махуэр (гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 махуэр) зэрагъэлъап1эу щыта щ1ык1эм;
2. Адыгэ хабзэ дахэхэм ц1ык1ухэр щ1эп1ык1ын, нэхъыжьхэми, нэхъыщ1эхэми хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу ахэр гъэсэн;
3. Ц1ык1ухэм я адыгэбзэ къабзэм зегъэужьын, хъуахъуэк1э, гушы1эк1э дахэхэр яхэлъу ахэр къэгъэтэджын;
Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 махуэм адыгэхэм ирагъэк1уэк1ыу щыта джэгук1э хьэлэмэтхэр ц1ык1ухэм егъэщ1эн.
Егъэджак1уэ : Сэлам гуапэ фыдох ди тхьэлъэ1ум кърихьэл1а псоми. Фи махуэ ф1ыуэ!
Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ.
Еджак1уэ : Маф1ащхьэтыхь. Те1уа тхьэлъэ1ущ. Илъэсыщ1эр къыщихьэм ящ1ырт. А махуэм ц1ыхухэр зэхуэсрэ тхьэм хъуэхъур хуагъэшу, гъавэ бэв къаритыну, я маф1ащхьэ мысэхыжрэ я жьэгу пащхьэм берычэтыр щызэблахыу псэук1э къаритыну елъэ1ухэу щытащ.
Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 жэщым, унагъуэм ису хъуар ини, ц1ык1уи жейртэкъым. Ужейуэ илъэсыщ1эр къибгъэхьэну мыф1у ялъытэрт. Илъэсыщ1эм щхьэк1э 1энэ къащтэрт. Абы 1эмал имы1эу телъын хуейт хъыршынищ. Мэл, вы домбей яук1ырт, ауэ 1эмал имы1эу джэд ф1ыц1э яу-к1ырт. Ат1э, дэри Тхьэм делъэ1унщ гъэ дызытехьэр угъурлы тхуэхъуну.
Еджак1уэ : Уэ, жылэ махуэу Тхьэм и нэф1ыр зыщыхуэнхэ!
Нобэ дэ ди гуф1эгъуэшхуэщ!
Нобэ дэ ди тхьэлъэ1ушхуэщ!
Тхьэлъэ1ушхуэ дэ зэтщ1эк1ыр.
Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1ырщ!
Еджак1уэ: Нэхъыжьхэм я псалъэ фыщедэ1уэнщ!
Нэхъыщ1эхэм я джэгум дыздыхэтынщ!
Нэхъ 1ущхэр къыщынэхуэнущ!
Нэхъ лъэщхэр щызэхэк1ынущ!
Къэфэнухэри ди куэдщ!
Тыхь джэдри щы1энущ!
Дызыхуеижыр мы зырщ
Уэ жылэ махуэу, Тхьэм и нэф1ыр зыщыхуэнхэ!
(Псори 1энэм мэт1ысхэр).
Еджак1уэ: Нэхъыжь зыгъэлъап1эм
И щхьэ лъап1э мэхъур,
Арщи, япэ хъуэхъур,
(Тхьэмадэм зыхуегъазэри). Ф1ык1э Тхьэр зэтэну,
Ди тхьэмадэ лъап1э!
Хъуэхъум я нэхъыф1ыр
Щыпхуагъаф1эу я псэм,
Тхьэр зи гъуазэ хъун!
(Тхьэмадэр утыку къохьэ, абы махъсымэ фалъэ 1эщ1агъэувэ. Тхьэмадэм фалъэр 1этауэ и1ыгъщ, мэхъуахъуэ).
Тхьэмадэ: Мы гъэщ1э дызытехьэр тхуэмахуэу,
Ди 1уэхухэр къыдэхъул1эу,
Ди хъуэхъухэр тхуэзащ1эу,
Ди щ1алэхэр л1ыпхъэу,
Ди хъыджэбзхэр нэмысыф1эу,
Нэхъыжьыф1хэр ди куэду,
Мык1уэдыжыр ди тхыдэу,
Мис мыпхуэдэу дызэхыхьэрэ,
Тхьэм ф1ык1э делъэ1уу,
Тщ1а хьэрычэтым берычэтыр къыхилъхьэу,
Ди гуэн итлъхьэ зэпыту,
Къыхэтх пэтми хэмыщ1у,
Зэтещ1ыщ1эр ди 1энэу,
Дянэхэм я гур мамыру,
Тхьэм ф1ык1э дынигъэс!
(Махъсымэм хофри, фалъэр етыж).
Егъэджак1уэ : Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1 махуэм шэджагъуэ хъухук1э къешх- къесу щытрэ, шэджагъуэ нэужьым дыгъэ къепсыжмэ, гъэр гъэф1, гъэ угъурлы хъуну жа1эрт. Ат1э иджы дедэ1уэнщ мы илъэсыщ1э дызытехьэр сыт хуэдэ хъунуми.
Гъэщ1эр гъэжьым езэуащ,
Пщ1ант1эпс 1эджи къыпхихуащ.
Махуэр и бгым щынэсам,
Гугъэу и1эр щыхихыжым,
Гъэжь губзыгъэм зэрихабзэу,
Уафэ иныр игъэкъабзэщ,
Уэсыжь къомыр зэщ1икъуэжщ,
И бгыр ф1ыуэ щ1икъузэжщ,
Дыгъэ тхъуэплъыр къиутыпщыжри,
Гъэщ1эм и 1эр иубыдыжри,
Еуэщ абы ежьэжащ,
Гъэрэ щ1ырэ зэхэк1ащ…
Иджы бзум къраш уэрэд,
Нани къехь маф1эщхьэджэд. 1ут1ыж Б.
Нанэ: Нобэ мы ди зэ1ущ1эр
Ялыхь угъурлы щ1ы.
Адыгэ хэкур вэгъ-зэгъ унагъуэрэ
Мылъкуу ди1эр хэдгъахъуэу,
Хъуэхъур дибэу, дыбагъуэу,
Губгъуэу ди1эр бэвылъэу,
Ф1ыгъуэу ди1эр зэдэдгуэшу,
Тхьэм ф1ыгъуэк1э дынигъэс!
Егъэджак1уэ: Нэхъыжьым и псалъэ дедэ1уащ, иджы нэхъыщ1эхэм зы хъуэхъук1э зыкъыфхуагъэзэнущ.
Дяпэ идгъэщ щымы1эу,
1ей тхэтыныр ди жагъуэу,
Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу,Упсэу, жьыщхьэмахуэ ухъу!
(Сабий мэхъуахъуэ).
Мы 1энэр къэзыухуар
Илъэс мин псо псэуамэ,
И 1эм насыпыр къыпыщу,
Ди тхьэ, апхуэдэу гъэпсэу!
Егъэджак1уэ : Гъэрэ щ1ырэ щызэхэк1ыу маф1ащхьэтыхьк1э Тхьэм щыхуэупсэ махуэр щ1алэгъуалэм нэхъыф1 дыдэу ялъагъу тхьэлъэ1ухэм ящыщт. Еш ямыщ1эжу ахэр джэгухэрт, зэпеуэрт, хьэрхуэрэгъу зэхуэхъухэрт.
2. Къарук1э зэпоуэ.
Еджак1уэ : Ди тхьэлъэ1ур и к1эм нэблэгъащ,
Шэч хэмылъу фэри т1эк1у фешащ.
Ауэ мы зы закъуэмк1э долъа1уэ:
Тхьэлъэ1у зэхуэщ1 хъуэхъум фыкъеда1уэ.
Ди Тхьэу, Тхьэшхуэ!
1. Гъэщ1э дызытехьэр махуэ тхуэхъуну!
2. Хъуэхъурэ хъерк1э ар ехьэк1ыну!
3. Мы илъэсыщ1э дызыхыхьэм щыщ1эдзауэ ди нэхъыжьыф1хэр жьыщхьэ махуэ хъуну!
4. Ди нэхъыщ1эф1хэр ф1ыгъуэ нат1эу псэуну!
5. Къуэхэр адэ-анэк1э хьэлэлу щытыну!
6. Пхъухэр адэ-анэк1э щабэу щытыну!
7. Адэ-анэхэм я напэр тезых бын къэмыхъуну!
8. Мылъкук1э нэпсейхэр мащ1э дыдэ хъуну!
9. Щ1эныгъэк1э нэхъуеиншэхэм я бжыгъэр куэдк1э нэхъыбэ хъуну!
10. Мамырыгъэ гъащ1эрэ щ1эблэ узыншэрэ къыдэхъул1эну!
11. Сыт щыгъуи лъагъуныгъэ къабзэрэ ныбжьэгъугъэ нэсрэ ди1эну!
12. Нэгъуэщ1 лъэпкъхэм дагуры1уэу, дахуэгуапэу дыпсэуну!
13. Щ1эблэр щ1эныгъэм дихьэхыу еджэну!
14. Ди балигъхэр лэжьыгъэм хуэ1эрыхуэу, берычэт къайхъул1эу лэжьэну!
15. Дэтхэнэ зы лъэпкъ унагъуэми хэщ1 зым и п1эм пщ1ы къихъуэжурэ дыбэгъуэну!
16. Лъэпкъыбзэр, хабзэр, тхыдэр, диныр, фащэр, шхыныгъуэ гуа-к1уэхэр къэгъэщ1эрэщ1эжыным ди ц1ыху псори жыджэру хэтыну!
17. Илъэсыжь едгъэжьэжым нэщ1эбжьэу, гукъеуэу, гугъуехьу щытлъэгъуахэр, дызытехьэ илъэсыщ1эм хуэдэ минк1э нэхъ мащ1э хъуну!
18. Илъэсыщ1э къытхуеблагъэм гъэжьым щытлъэгъуа гуф1эгъуэхэр, гукъыдэжхэр, дэрэжэгъухэр, ехъул1эныгъэхэр, абы дыщызыхущ1экъуа нэмысыр, ц1ыхугъэр, насыпыр, хабзэ дахэр, гущабагъэр, гукъабзагъэр, бзэ1эф1ыгъэр, культурэр хуэдэ минк1э тхуэбэгъуэну!
19. Ди нэхъыщ1и, ди нэхъыжьи я гур къабзэу, я бзэр дахэу, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу, зым 1эпыхур зым къищтэжу, гуф1э тхъэжу зыдэпсэу
(Егъэджак1уэм хьэщ1эхэм, ц1ык1ухэм хъуэхъу псалъэк1э захуегъазэ)
Лъэпкъыр лъэпкъ зыщ1ыр, абы и къэк1уэнур зэпхар мис мы щ1эблэ къытщ1эхъуэр арщи, мы илъэсыщ1э дызытехьэм щыщ1эдзауэ дэтхэнэ зы ц1ык1уми:
Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.
Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ — ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.
Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.
Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.
Сочинение Темирова Темирлана,
Пшеунова Т. А
Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.
Основные способы перевода пожертвований в Русфонд
1.Через банк
2. Через терминал QIWI (КИВИ)
3. Через банковскую карту
4. Другие способы
17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.
12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.
Презентация к внеурочному занятиюо традициях кабардинского народа.
АДЫГАГЪЭР — НЭМЫСЩ, НЭМЫСЫР — НАСЫПЩ
Мурадхэр: Хэку къызыщалъхуам, къызыхэк1а лъэпкъым къыдек1уэк1 адыгэ хабзэ дахэр куу хъуным елэжьын; я лъэпкъым, я бзэм хуа1э ф1ылъагъуныгъэм зегъэужьын.
Псом япэу фигу къэзгъэк1ыжыну сыхуейщ дызыщыпсэу щ1ып1эм и дахагъым. Апхуэдэ щ1ып1э щыпсэу ц1ыхухэм я хабзэри дахэу щытын хуейщ. Емыку1 дыдэу къысщохъу уи хабзэр имыхъумэжыну, абы и дерсхэр умыгъзащ1эу дунейм утетыну.
Адыгэ хабзэр, адыгэ нэмысыр адыгэ л1ыгъэм, адыгагъэм къыгуэх имы1эу къыдэгъуэгурык1уащ. Абы къыхэк1ыуи адыгэхэм ди гъунэгъу лъэпкъ псоми адыгэ хабзэр яф1эхабзэф1у, пщ1э къыхуащ1у, адыгэхэм къазэрыхудэплъеиным хущ1экъуу щытащ.
Езы адыгэхэми адыгагъэр я напщ1эм телъу. Ирипагэу, иригушхуэу щытащ. Абы теухуауэ псалъэ дахэ, псалъэ пэж куэди жа1ащ. Дэри а псалъэхэр ди щапхъэу щытщ.
2.Хабзэр бзэгупэк1э кърахьэк1ыркъым.
3.Хабзэм къемызэгъыр и бийщ.
4.Хабзэр лъэ1укъыми 1у махуэ 1уэхутхьэбзэкъым.
5.Хабзэжь хэкужь къранэркъым.
6.Хабзэр убзэ зыф1эщ1ым хуэпщ1энум и ныкъуэр къегъанэ.
7. Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ.
8.Нэмыс здэщымы1эм насыпи щы1экъым
9. Нэмыс пщ1ымэ уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. 10.Нэмысыр лъэ1ук1э къахьыркъым. 11.Нэмысым насып къыдок1уэ.
Ди щ1ып1э берычэт дахэмрэ, ди хэбзэмрэ ещхьщ ди фащэри. Ди адыгэ фащэм нэхъ дахэ лъэпкъ куэдым ящыгъыу щыбгъуэтынкъым.
Фащэм теухуа псалъэжьхэр.
- Укъыздамыщ1эм ущыгъынщи, укъыздащ1эм уакъылщ.
- Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ.
- Бзылъхугъэм и 1эщхьи, и щхьи и фащэщ.
- Дахагъэр зэк1ужщи, зэк1ужыр
Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэ фащэм ущрихьэл1энур къэфа1куэ гупым хэтхэмрэ, музейхэмрэщ.
Шум бзылъхугъэ гъуэгум ирик1уэу хуэзамэ…
Ц1ыхухъур шым къепсыхыу бзылъхугъэм блэк1ыху шыр 1эдэжу ишэу щытащ.
Нэхъыжь щыту зэи умыт1ыс!
1.Псом япэ ц1ыхум зыщалъхуа хэкур ф1ыуэ илъагъуу, игъэпэжу щытын хуейщ. 2.Нэмыс, ук1ытэ тхэлъын хуейщ. Нэхъыжьхэм пщ1э хуэщ1ын хуейщ. Нэхъыжьхэм я псалъэ зэпыдуд хъунукъым. 3. Нэхъыжьхэм я гъуэгу зэи зэпаупщ1ыркъым. 4.Адэ-анэм жа1эм деда1уэу, ахэр ф1ыуэ тлъагъу щытын хуейщ.
Ди пщэдджыжьхэр ф1ыуэ щытын папщ1э, ц1ыхуу дунейм тету хъуар, ф1ыуэ дызэрылъагъуу, дызэхуэгумащ1эу, дызэдэ1эпыкъуу дыщывгъэт! Зэи зыщывмыгъэгъупщэ дыкъызыхэк1а лъэпкъыр! Ди хабзэр зыхъумэну дызыщыгугъыр фэращ. Фызэрыадыгэр зэи зыщывмыгъэгъупщэ!
Читайте также:
- Напиши мини сочинение на тему родина у нас одна
- Чрезмерная власть всегда порождает жестокость сочинение
- Сочинение на тему развитие речи у младших школьников
- Лучшая дорога это дорога домой сочинение
- В деревне петька мучительно просыпался в пять часов сочинение в формате огэ
Слайд 1
Нэхъыжьым хуэфащэщ пщIэ лей
ЕгъэджакIуэр: Танэ М.Х.
Слайд 2
Слайд 3
Мурадыр:
1. Пэщ1эдзэ классхэм щеджэ ц1ык1ухэм я бзэм зегъэужьын.
2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэ гъуэзэджэхэм.
3. «Сыт хуэдэ зэхущытык1э дэлъын хуей сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зэхуакум?» упщ1эм жэуап тэмэм етын.
4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, нэхъыжьхэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.
5. Адыгэ хабзэм мыхьэнэшхуэ балигъхэми сабийхэми я дежк1э зэри1эр ц1ык1ухэм ягурыгъэ1уэн.
6. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын хабзэр зымыгъэзащ1эхэр щытык1э гугъухэм зэриувэр къэзыгъэлъагъуэ усэхэм, псалъэжьхэм.
Слайд 4
Тамазовы
Слайд 5
Слайд 6
Шаловы
Слайд 7
Слайд 8
отаровы
Слайд 9
Слайд 10
Сантиков а.х. И Танов Х.дж.
Слайд 11
Слайд 12
МАМХЕГОВА З.Т., ХАМДОХОВА Л.П., КУВАЖОКОВА Л.З.
Слайд 13
Слайд 14
Сантикова ж.Х., танова л.Х., хаупшева
р.М.
Слайд 15
Слайд 16
Тановы
1. Ц1ык1ухэм я бзэм зегъэужьын.
2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэ гъуэзэджэхэм.
3. «Сыт хуэдэ зэхущытык1э дэлъын хуей сабийхэмрэбалигъхэмрэ я зэхуакум?» упщ1эм жэуаптэмэметын.
4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, нэхъыжьхэмхуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.
5. Адыгэхабзэммыхьэнэшхуэбалигъхэмисабийхэми я дежк1э зэри1эр ц1ык1ухэм ягурыгъэ1уэн.
6. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын хабзэр зымыгъэзащ1эхэр щытык1э гугъухэмзэриувэркъэзыгъэлъагъуэусэхэм, псалъэжьхэм.
(Уэрэд «Жьым фымыщ1 и жагъуэ»)
Еджак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ!
Фыкъеблагъэ ди хьэщ1э лъап1эхэ!
Сэлам гуапэ фыдох!
Егъэджак1уэ: Ди адыгэ хабзэм и фащэ нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ, адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр. Абы къызэщ1еубыдэ ц1ыхум и щ1ыхьыр зэримыгъэпудыныр, пэжыгъэр, ук1ытэр, гулъытэр, нэхъы-жьым пщ1э хуэщ1ыныр бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, гъэсэныгъэ хэлъхьэныр.
Мы зигугъу сщ1а 1уэхугъуэ псоми ухэплъэжмэ, гуры1уэгъуэ мэхъу адыгэ унагъуэм сабийм щигъуэтым хуей гъэсэныгъэм и куууагъыр.
Къэтщтэнщ нобэ нэхъ дызыгъэгузавэ зы 1уэхугъуэ: нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ яку дэлъ зэхущытык1эр. Аращ ди псалъэмакъри зытеухуауэ щытынур.
Тхыдэм уриплъэж нэужьк1э, лъэпкъ куэдым я деж ущрохьэл1э ц1ыхухэм жьыхъуахэр яук1ыжу, бгым щ1адзу, щ1ып1э пхыдзам яшэрэ къагъанэу зэрыщытар. Апхуэдэ хъыбар хэтщ ди адыгэ 1уэры1уатэми.
Дедэ1уэнщ Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэф1ым теухуа хъыбарым.
Еджак1уэ: Бэдынокъуэ и адэ Бэдын ишат бгым щидзыну, ауэ гу щ1эгъур къытек1уэри абы и адэр иук1акъым. Мэзым щигъэпщк1ури къэк1уэжащ.
Гъей щыхъум, л1ыжьым и чэнджэщхэмк1э гъавэр къахуэк1ыу, 1эщхэр яхуэбагъуэу щ1идзэжащ.
Мы хъыбарым къыщежьэу жып1э хъунущ нэхъыжьым хуэщ1ын хуей гу лъытэр, пщ1эр. Къарук1э пэмылъэщыжми, жьы хъуа ц1ыхум 1эзагъ, 1ущагъ ин гъащ1эм къыхихауэ и1эщ.
Егъэджак1уэ: Нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1 ц1ыхур адыгэхэм ялъытэу щытакъым.
«Нэхъыжь зымыгъэлъап1э щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым» же1э адыгэ псалъэжьым.
Нэхъыжьым и унафэм къару щимы1э унагъуэм ноби «хабзэмыщ1э унагъуэщ» хужа1э.
Ат1э сыт хуэдэ хабзэ нэхъыжьым ехъэл1ауэ бгъэзэщ1эн хуейуэ адыгагъэм къигъэуврэ?
Дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм абы теухуауэ ящ1эм.
1. Нэхъыжьу хуэзамэ, ар ц1ыхухъуми ц1ыхубзми, уэ нэхъапэ ф1эхъус епхын хуейщ. Ауэ ф1эхъус щепхк1э уэ нэхъапэуи 1эр умыший, и 1эр къып1эщ1илъхьэну хуитыр езы нэхъыжьырщ.
2. Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым. Ар нэмысын шагъэщ. Укъэувы1эу къак1уэр блэк1ыху уежьэн хуейщ.
3. Нэхъыжь гъуэгум къыщыпхуэзамэ, зэрызек1уэ хабзэ гуэрым уисмэ, ибгъэт1ысхьэу здэк1уэм нэс пшэныр уи адыгэ къалэнщ.
4. Нэхъыжь щытмэ, нэхъыщ1эр нэмысыф1эу щытыпхъэщ. «Хэтхэ, ей а ц1ыху мыгъасэр?» къыпхужамы1эн папщ1э.
5. Нэхъыжьым къыбжи1эм и к1эм нэс уедэ1уапхъэщ, а жи1эр уигу иримыхьми. Къыбжи1эр е лъэ1ур бгъэзэщ1апхъэщ. Упсэумэ, а нэхъыжьым и п1эм уэри узэриувэнур зэи зыщумыгъэгъупщэ. Нобэ уэ нэхъыжьым пщ1эуэ хуэпщ1ыр, пщэдейуэ къыпхуащ1ыжынщ.
6. Нэхъыжь блэк1ыу ину упсэлъэныр, е ину удыхьэшхыныр емык1ущ, а блэк1ым утепсэлъыхь е ук1элыдыхьэшх къыф1эщ1ынщ.
7. Нэхъыжьым и пащхьэ ущитк1э зып1уант1эу, зыпшант1эу уи 1эхэр уи жыпым илъу, тутын уефэу, зыбгъэлъэгъуэныр емык1ущ.
8. 1энэ ущыпэрыт1ысхьэк1э, гуп ухэтмэ, пхуэмыфащэ т1ысып1э умыт1ыс. Адыгэ 1энэм хабзэшхуэ щызок1уэ. «Жьант1ак1уэу ущымыт, узэрыщытыр ялъагъунщ» же1э адыгэ псалъэжьым.
9. Нэхъыжь уигъусэу ук1уэмэ, ижьырабгъур абы ейщ. Зыщ1ып1э ущ1ыхьэнумэ, япэ щ1ык1э бжэр 1убохри нэхъыжьыр щ1ыбогъэхьэ, ит1анэ уэ ущ1охьэ.
10. Нэхъыжьым ирифыну зыгуэр щептк1э, кружкэр лъащ1эмк1э уи 1эгум иту и къур зэптым хуэгъэзауэ етын хуейщ. Нэхъыжьыр псы щефэк1э утэджын хуейщ. «Уихьэлэлщ» жы1эн хуейщ.
Етуанэ гупым:
1. Нэхъыжьым зыщихуапэк1э дэ1эпыкъу, и щыгъыным хук1элъыплъ, и вакъэр хуэгъэкъабзэ.
2. Жьы хъуам псалъэ макъышхуэрэ 1эуэлъауэшхуэрэ яф1эф1къым. Нэхъыжьым сыт и лъэныкъуэк1и хуэсакъын хуейщ.
3. Уэрам тет1ысхьэп1эм утесу нэхъыжь блэк1мэ, укъэтэджын хуейщ. Блэк1ыр ц1ыхубзми, ц1ыхухъуми ущысыныр нэмысыншагъэщ.
4. Нэхъыжь щыту нэхъыщ1э т1ысыркъым, абы и гъуэлъып1э ит1ысхьэркъым, и т1ысып1э хэхам деж т1ысыркъым.
5. Нэхъыжьым нэщхъыдзэу, пхъашэу епсалъэркъым, абы зыпащ1ыжу псалъэркъым.
6. Нэхъыжьыр хьэщ1эмэ, и закъуэу бгъэшхэныр хабзэм къемык1ущ. Абы шхыным и нэхъыф1ыр хуагъэфащэ.
7. Адэм, анэм е нэгъуэщ1 нэхъыжь гуэрым нэмэз ищ1ыну зигъэхьэзырмэ, абы до1эпыкъу.
8. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1мэ, пщ1э хубощ1 адыгагъэм, уилъэпкъым и къежьап1эм.
9. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур.
10. Хабзэ зыщIэ щIегъуэжыркъым.
Егъэджак1уэ: Ц1ыхухэм яку дэлъ пщ1эр, нэмысыр, гулъытэрщ гукъыдэж къайзытыр. Адыгэм ауэ сытми жи1эркъым: «Ц1ыху ц1ыху щыжщ» жи1эу. Гуапэу сэлам къозыхым, къыпщ1эупщ1эм, гулъытэ къыпхуэзыщ1ым къару къыпхелъхьэ, уегъэгушхуэ, гъащ1эм ущегъэгуф1ык1. Аращ гуапагъэмрэ нэщхъыф1агъэмрэ адыгэ хабзэм лъабжьэ быдэ щ1ыхуэхъури.
Ц1ыхум узэрыхуэгуэпэн 1эмалхэм щ1эи гъуни я1экъым. Ауэ, псом нэхърэ нэхъ 1ейр арщи, ц1ыхум уегуэуэнми зы мащ1э дыдэщ узыхуейр.
Зэрызэхэтхащи, псоми адыгэхабзэр дощ1э. Ауэ, 1эмал имы1эу а хабзэ псори гъащ1эм къыщыдгъэсэбэпын, ар ди хьэл-щэным къыхэщу щытын хуейщ. Ди жагъуэ зарыхъунщи, языныкъуэ ц1ык1ухэм хабзэ рщащыгъупщэж щы1эщ. Дедэ1уэнщ таурыхъ зи1э адыгэ псалъэжьым. «Шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа?».
-Сыт хуэдэ хабзэхэр фи унагъуэхэм щызек1уэрэ?
Еджак1уэ: Хьэсэн тет1ысхьэп1эм тест, сэхуран и1унщ1у, и лъакъуэхэр зэтедзауэ. Л1ыжь сымаджэр, хуэм дыдэу, баш и1ыгъыу къэк1уэжырт. Ар щилъагъум Хьэсэн абы егуэуащ, ауан ищ1у:
— Уа, тхьэмадэ, шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа? – жи1эри.
— Ей, си щ1алэ, си щ1алэ, тхьэм ф1ык1э унигъэс. Уэри си ныбжь унэсмэ, зыри иумыту къуатынщ башыр – жи1ащ л1ыжьым.
Егъэджак1уэ: (Сыт хуэдэ щыуагъэхэр ищ1а Хьэсэн?).
Ат1э иджы дедэ1уэнщ. Джаурджий Хь. Итха рассказ к1эщ1 ц1ык1ум.
Еджак1уэ: Еджэн яухри школым къыщ1эк1ыжауэ Аслъэнрэ Муратрэ унэм къэк1уэжырт. Абыхэм къалъэгъуащ тыкуэным къыщ1эк1ыжа нанэр. Абы къищэхуахэр илъу чы матэ хьэлъэ и1ыгът. Аслъэн тхылъылъэр Мурат иритри нанэ матэр къы1ихащ. Абы нанэр унэм нигъэсыжри къигъэзэжащ. Мурат къеупщ1ащ:
— Хэт а зи матэр зыхуэпхьыжар?
— Нанэщ, – жи1ащ Аслъэн.
Уэ уи нанэу ара? – Урикъуэрылъху, хьэмэ урипхъурылъху?
— Хьэуэ, си нанэкъым.
— Ат1э фи гъунэгъу?
Хьэуэ ди гъунэгъукъым.
— Ат1э, уи сыт, дэнэ щыпц1ыхурэ?
— Си зырик1щ, сц1ыхуркъым.
— Ауэ нанэщ.
(Сыт хуэдэу къыхэщрэ Хьэсэн мы дыкъызэджа рассказым?)
Егъэджак1уэ: Сыт хуэдэ хабзэхэр фи унагъуэхэм щызек1уэрэ?
Егъэджак1уэ: Иджы ди хьэщ1эхэм зедгъэгъэпсэхунщ, уэрэд, усэ едгъэдэ1уэнщ.
(Уэрэд «Жьы хъуа ц1ыхухэр ф1ыуэ флъагъу»).
Еджак1уэ:
«Псалъэжагъуэ».
Зэгуэрым семыгупсысу
Зы псалъэ къызжьэдэк1ат.
Ар мамэ и гущ1эм нэсри,
И нэпсыр къыщ1игъэк1ат.
К1иякъым мамэ. Схуэшхыдэу,
Зыпсалъи къызжимы1ат.
И 1элъэщ1 к1апэм щэху дыдэу
И нэпсыр к1уэц1игъэпщк1уат.
А нап1эзып1эм си псалъэм
Сык1элъыпхъуэнут, слъэк1ам.
Ауэ, шэм хуэдэкъэ псалъэр,
Къимыгъэзэж п1эщ1эк1ам.
Сымыщ1эу сщ1эныр сыхэплъэу
Сэ махуэ псор есхьэк1ат.
Мамэ и жагъуэ хъун псалъэ
Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1ат?
Сэ шыгъушыпсып1эм сыхэлъу
Жэщ к1ыхьыр езгъэк1уэк1ат,
Си псэм щыщ хъуауэ къысхэлъым
Сэ, дауэ сегуэуэк1ат?
Анэ гухэм нэхърэ нэхъ п1ащ1э,
Нэхъ махэ умыгъуэтын.
Зы мыхьэнэншэу къыпщыхъури,
Яхуохъур ахэм удын.
Дахущывгъэт нэхъ гумащ1эу
Анэхэм дахуэвгъэсакъ.
Сэ псалъэжагъуэ жыс1ар зэ,
Зезгъэ1этауэ си макъ
Тенауэ, къупщхьэ къысф1эщ1у,
Иджыри ф1элъщ си тэмакъ.
(Мыкъуэжь Анатолэ)
Егъэджак1уэ: Псоми зэрытщ1эщи, 1уэры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ щ1эблэр гъэсэнымк1э. Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощ псалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдым епхами, жып1э хъунущ, абы я къэлъэн нэхъыщхьэр гъэсэныгъэрауэ. Сыт хуэдэу къыхэщу п1эрэ зэик1 жьы мыхъу псалъэжьхэм нэхъыжьым хуэщ1ын хуей пщ1эмрэ нэмысымрэ?
Еджак1уэ: (зэпеуэ)
1. Нэхъыжьыр гъэлъап1и (уищхьэ лъап1э хъунщ).
2. Зинэхъыжь еда1уэ (и 1уэху мэк1уатэ).
3. Жьымеубзи (щ1эр гъэгушхуэ).
4. Нэхъыжьымжьэет, (нэхъыщ1эм гъуэгует).
5. Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр, (щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым.)
6. Нэхъыжь к1элъыджэркъым — (к1элъок1уэ);
7. Щ1алэ къагъапц1э щхьэк1э, (л1ыжь пц1ы хуаупсрэ?).
8. Жьызэрымысымнэмысилъкъым, (щ1э зэрымысым насып илъкъым).
9. Жьант1эм ущ1эмыкъу (пхуэфащэмэкъыплъысынщ).
10. Нэхъыжьыф1 зи1э (нэхъыщ1эф1и и1эщ).
11. Жьырщхьэукъуэреймэ, (щ1алэр джэгурейщ).
12. Л1ыжьыр жьэгум мак1уэ, (щ1алэр джэгум мак1уэ).
13. Ужьмэжьыхуэдэщыти, (ущ1эмэ, щ1э хуэдэущыт).
Еджак1уэ:
«Дадэрэ нанэрэ».
Дадэ хъыбар сэ къызже1э,
Нани ищ1э шыпсэхэр сегъащ1э.
Дадэ куэдрэ сэ къыздогушы1э,
Нанэ сытым дежи схуогумащ1э.
Сыкъиинми дадэ зысхуешы1э,
Сыгъынанэми, нанэ зы жимы1э.
Т1у имыщ1у сэ дадэ сыт жызмы1эм
Нанэ хуэдэу къысхуэсакъ щымы1э.
Дадэ 1эджэрэ гуф1эу схуожы1эщ1э,
Нанэ и 1эф1агъыр фэ фымыщ1э.
Дади нани си псэм хуэдэщ,
Сэ абыхэм сахэмыдэ –
Зым фимы1э ахэм хуэдэ.
(Жылэтэж С.)
Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэ, иджы жыдывгъэ1эт, сыт хуэдэ гъэсэныгъэ къыхэфха едгъэк1уэк1а псалъэ макъым?
1. Нэхъыжь и лъэ1у умыгъэзэщ1эныр емык1ущ.
2. Жьыхъуар дэ1эпыкъуэгъуншэ пщ1ы хъунукъым.
3. Уианэ и жагъуэ пщ1ыныр, уиадэ уемыдэ1уэныр.
4. УиХэку, уилъэпкъ уепц1ыжыныр.
5. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ, гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур.
Еджак1уэ: Пщащэ зэк1ужхэ! Щ1алэ къуданхэ!
Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей!
1эгур вгъэлъалъэ, пшынэр вгъэпсалъэ,
Нэхъыжьым хуэдывгъэщ1 ислъэмей!
«Адыгэкъуажэ». (сабийхэм уэрэдыр ягъэзащ1э, къофэ).