Сыт насыпыр зи1ысыр сочинение

Воскресенье, Март 12, 2023


  • О нас


    • Организаторы


    • Новости


    • Поездки


    • Статьи


    • Галерея



  • Конкурсы


    • Номинации


    • Правила участия


    • Результаты


    • Конкурсные работы


  • Награды


  • Партнеры


  • Скачать


  • Отправить


  • Контакты

Образовательный проект «Хочу все знать» включает в себя интеллектуально-познавательные, развивающие очные и заочные конкурсы для детей по направлениям:

  1. РОДНОЙ ЯЗЫК И ЛИТЕРАТУРА
  2.  

  3. МАТЕМАТИКА
  4.  

  5. РУССКИЙ ЯЗЫК И ЛИТЕРАТУРА
  6.  

  7. ЭКОНОМИКА
  8.  

  9. ЕСТЕСТВОЗНАНИЕ
  10.  

  11. АНГЛИЙСКИЙ ЯЗЫК
  12.  

  13. КУЛЬТУРА И ОБЩЕСТВО

    Осенний


    25 СЕНТЯБРЯ -1 НОЯБРЯ


    ЗАОЧНЫЙ

    Зимний


    25 ЯНВАРЯ — 1 МАРТА


    ЗАОЧНЫЙ

    Весенний


    25 МАРТА — 30 МАРТА


    ОЧНЫЙ

    Спецпроекты


    в течение года


    ЗАОЧНЫЕ

  • All
  • начальныеклассы
  • среднеезвено
  • старшиеклассы
  • Совенок в мире природы

  • Математический калейдоскоп

  • Находчивая сова и мифы

  • Мое отечество    


Загрузите еще
остальные


load all

ПОБЕДИТЕЛИ

  • Шибзухов Адам

    СОШ 2 с.п. Атажукино

    9 сезон

  • Батова Даяна

    СОШ 2 с.п. Сармаково

    9 сезон

  • Жангериев Азнаур

    СОШ с.п. Шордаково

    9 сезон

  • Уянаева Альбина

    СОШ с.п. Хабаз

    9 сезон

  • Коцева Рамилла

    СОШ 2 с.п. Сармаково

    9 сезон

НОВОСТИ И РАССКАЗЫ О НАШИХ СОБЫТИЯХ!!

Тхыгъэ «Сыт насыпыр?»

Насып щ1экъуныр – арщ насыпыр»
Насып… Дунейр къызэриухуэрэ цIыхур зыщIэхъуэпс псалъэ дахэр дэнэ щы1э? Сэ сызэрегупсысымкIэ, насыпыр ц1ыхум къыдалъху ик1и Iыхьэ куэду гуэшауэ нэрыбгэ къэси къыдогъуэгурыкIуэ. Зым адэ-анэр хуэпсэууэ, къыдалъхуар хуэузыншэрэ яшхын-ящIэн ягъуэту балигъыпIэм иувэмэ, ар зы насып гъуэгуанэу ебж. Адрейм еджапIэр къыщиухкIэ, насыпыр – ар IэщIагъэ зэгъэгъуэтынырщ. Адрейм хелъагъуэр насыпыр к1апэм, напэри щыгъупщэжауэ. Сыт хуэдэ мылъкури зыми щыщкъым адыгэм адыгагъэр щыгъупщэмэ, хуэмысакъым ныбжьэгъугъэм, адэм и псалъэм, анэм и лъагъуныгъэм. Щы1эхэщ иджыри ц1ыху псэун папщ1э мышхэу, ат1э шхэн папщ1э псэухэуи.
Сыт ат1э сэрк1э насыпыр? Жэуапу хуэзгъуэтыр зыщ — «насып» щы1экъым, щы1эр насыпыф1э узыщ1 щы1эк1эхэрщ. Ат1э, сыт сэ насыпыф1э сызыщ1ыр? Сещ1 сэ насыпыф1э си анэм и гуф1э макъым, си Инжыдж и даущым, си Къэсейхьэблэжь и нэхущым, си адыгэбзэмк1э хуиту сызэрыпсалъэм, адыгэу сыкъызэрыхъуам…
Сэ зыкъэсщтэжмэ, сынасыпыф1эщ, ауэ насыпым и тхьэбзэ телъщ си гущхьэм. Ар зэи сымылъэгъуа ик1и зи 1эф1агъэр зыхэзмыщ1а си адэм и тхьэбзэщ. Сэ си л1акъуэ сыкъызыхэк1ами, сызып1ами яхуэфащэу сыпсэунущ. Си гум телъми тхьэбзэр — Тхьэм зэи ц1ыху тхьэбзэгъуджэ симыщ1к1э!

Автор: ЦАГЪУЭ ДАЯНЭ, КЪШР, ХЬЭБЭЗ КЪУАЖЭ. ЕГЪЭДЖАК1УЭР: ШЭРДЖЭС РАСЬЯТ

                                                      Си щIымахуэ 

                Мы щIымахуэр усэ щылъхущ, мы щIымахуэр гъащIэ натIэщ, псэм и чысэм

и уэншэкущ, мы щIымахуэр псысэ ныбэщ. Мыпсалъалэ, мыкъийн, нэпсыр гущIэм

щегъэупщIыIу, цIыхухъу хьэлу егъэпщкIуф гукъеуэу къылъысар, и гущэкъу уэрэдым

щIожейкIыр дуней IурыщIар. Мы щIымахуэр чысэ хьэхущ, нэкIи псэкIи лъащIэ

здомыгъуэтщи, и уэс щабэр тхуищкIэрэ лъэгущIыхь къытхухеIущIыкIыр ди пщэдейм

и лъэс лъагъуэр. 

Тету жаIэу зэхэсхамэ, тхьэм зэгуэрми къауц, къысфIэщIынти тхьэшхуэм и цыр

ипхъыжауэ. Псэр и уасэу бегъымбарым кърища и пщIыхь удахэр и тын къабзэу мы

щIымахуэм дэ дыхуеущийр адрей гъищ къэнам. Ар къыщIытхуэткIийми и

щхьэусыгъуэр зыщ-и къабзагъэм сытым щыгъуи дэ дыхуэфащэнырщ. 

                  Мы щIымахуэр си псэлъыхъущ, сэ нэхъ псэлъыхъуфIи сымылъыхъуэ,

хъуэрым я нэхъ жаныр зи Iэдэжым Iэ сэмэгум и псэр кърилъхьащи сэ сIэщIожабзыхь.

ЕщIэ и ухыгъэр сэ зэрысIэщIэлъыр, ищIэ пэтми, къигъэзэфкъым и щIыбагъ. Тхьэмрэ

цIыхумрэ я хьэтыркIэ и псэр схуихъумэну сэ селъэIуми, зэрысхуэгумащIэр сщIэми,

зии схуэмыжыIэщIэ. Мы щIымахуэр сэ къысхуэерыщщ, къысщIитын мурад ищIащи и

псэр, схутемыгъэуж, ар щымыгъуазэххэу сэ зы щэху сохъумэ, мы щIымахуэр усэ

сатырыхьщ, сэ абы куэд щIауэ сыхуопсэрыусэ.

                                            Уафэм къыщалъхуа

           Уэ пщIэжрэ гъащIэ дэ щыдимыIар, уафэгум лъапцIэу къыщыщыджыхьар,

губгъэн къыщытхькIэ пшэ гуэрэнхэр ди нэщыпхъуэу, уэ пщIэжрэ дыкъыщамылъхуар?

ЦIыху гуэшым деж лъэIуакIуэ дыкIуэ пэтми, дыкъыщалъхунур IулъхьэкIи

къимыгъэблагъэу, дыкъетIысэкIрэ мазэм и жьэгу мафIэм псэ зратахэм

дыщIэхъуэпсу дыщыбгъэдэсар. Зэм дыгубжьарэ пшэхэр зэдудэкIыу, абыхэм

мафIэхъуэскIыу щыблэр яку къыдэкIыу, уэ пщIэжу къыщIэкIынущ ахэр псори. Уэ

пщIэжрэ бегъымбархэм ди гущэкъур щрабзар, сощIэжыр узэрыгуфIар. Сэ

сыпхуэзгъафIэу мазэм зезгъэгъэпщкIури бэлыхь ухэзгъэтат, узэрызгъэгузавэр

сщIэми ар си гуапэу, укъызэрыслъыхъум сигу хигъахъуэу, уи екIужыпщIэу вагъуэхэр

схуэбгъаплъэу, къэкIуэнум фIыкIэ сыпэбгъаплъэу ди гъащIэр щызэмыпцIым

дыпсэуащ.

            Насыпыр сытым дежи тIурытIылъхущ, я закъуэу къалъхухэр насып бынкъым,

дэ тIур насыпым дритIолъхуэныкъуэт, дригъэфIэнт, дриIэрыпIт, насып и тхьэбзэр

телът ди гущхьэм. Апхуэдэущ жэщ борэным дыкъызэралъхуар, арат ди натIэми

къратхэжар. Арами, гъащIэ емылыджым ди псэм и лъэс лъагъуэр щыхэгъуащэм, ди

насып хадэр бзум ябгынэжащ, гунэфу уэ укъыщыщIэкIым, кунэфу гъащIэр

къыщIэкIащ. Гукъеуэ шэпхъыр зыхэз гъащIэм зыщибзыжар пщIыхь минхэр жаIэжа

иужьщ. ФIэщмыхъу жылэ щапIа хуэдэ, сэри уи гухэлъ щтырыгъухэм

сахуэдзыхьщIыгъуейт, анэнэпIэсу зэм сахуэгущIыIэт. ИтIанэ…Уэ пщIэжрэ щIылъэм

дыщыщыпсэуар, уэрэд псыкъелъэхэр къиткIуту, гухэлъ толъкъунхэм

зыщыдгъэпскIыу, насып и фарзыр хуэдгъэзащIэу, ди Тхьэшхуэм вагъуэхэр

тхуигъажэу, зэи икIыжынкъым сигу дэ щIылъэм дыщыщыпсэуар… 

                                              Уэ узихуэдэр пщIэрэ?

             Ухуэдэщ уэ щIымахуэм къэгъэгъа епэрым, зи фIэщхъуныгъэр уаем

нытекIуам. Зи щхьэфэр тещтыкIа дуней щIыIэжьым гуапагъэкIэ щыгугъыу

къыдэзышеям. Ущисми щIыIэм уэс гущIыIум, уэс напэм и къабзагъэм уэ ущогуфIыкI,

дуней къыпхуэмысакъым къыптрилъхьэми Iумылыр, ибогъэткIухьри ибогъэхыр уиIу

хуэбам. Уэ пцIыхукъым гъатхэм и гуапагъыр, гъэмахуэм и хуабагъым и хъыбари

зэхэпхакъым, уэ уощIэ, дауи уи закъуэ фIэкI щIымахуэм щытемыткIэ, адрейхэр гъэ

нэхъыфIхэм зэрыпэплъэр. 

Ухуэдэщ уэ щIымахуэм къэгъэгъа епэрым, ухуэдэщ зыхуэбгъафIэу зэман уаем игу

къэзыхьэхуну хэтым, урещхьщ уэ хуабжьу къарууфIэм, урещхьщ уэ гъащIэм пэувам,

урещхьщ щIымахуэр фIыуэ зылъэгъуам, урещхьщ уэ япэу ягъэунэхум. Урещхь

къудейщ, сэ сощIэ, уэ щIымахуэр фIыуэ плъагъукъым, мы дуней дэгум уи псэр

щогужьей, борэн нэхъ жьейхэм ураныкъуэкъуэгъущи, гъэгъар IэмыщIэм

щыпфIафыщI зэпытщ. Уи бэшэчагъыр ягъэунэхур пэжу къыщIэкIынщ, уэ лIыгъэ

зэрыпхэлъыр шэч къызытомыхьэнщ. ЩIымахуэ шылэм, жылэхэр щыжейм, дунейр

жагъуэгъуншэ хъууэ къыщыпфIэщIым, уи гукъыдэжкIэ дуней нэфым укъытралъхуат,

епэрыр зылъэгъуахэм ягъэщIагъуэу блэкIми, абы и гуакIуэр къэзыщIар зырызщ. 

Ухуэдэщ уэ… Уэ узихуэдэр пщIэрэ? Уэ пхуэдэ мы дунейми темыт!

                                               Псэм и псалъэ …

          Къэубыд си Iэпэр, накIуэ, дыщIэгъапхъуэ дыхэгъэхьэ гъащIэ

 къытхуигъэфэщам, уэрэ сэрэщ ар зи гъащIэр, накIуэт, дэ къэдгъэгъащIэт

къытхуиухар. Уэрэ сэрэщ къыхахар ныжэбэ,  дуней гъащIэ дахэр зратар.

 КъыщытхуагъэфащэкIэ дэ дыпсэуну, дегъэплъыт гъащIэ жыхуаIэжым, къэдгъащIэ

дэ насып жыхуаIэр, ар зиIэхэм дэ дахэтынущ, дауи, къыщытхуигъэфащэкIэ, мы

гъащIэр — ар насыпкъэ?! ЛъагъуныгъэкIэ цIыху цIыкIур зэджэу, апхуэдизу IэфIыр дэ

къэдгъащIэ. Дегъэплъыт,  псори щызыгъэкIыу  къызфIэзгъэщIыж, гуэныхь мыухыр

къезыгъэхьу — мылъку жыхуаIэри зищIысым. КъэдгъащIэ ар напэм и пэ щIрагъэувэр,

 къэзылъхуа дыдэхэри хьэрэм езыгъэщIыжыр, я нэр къыщипхъуауэ узыншагъи,

цIыхугъи, напи къафIэмыIуэхужу къалэжь мылъкур зищIысым, дегъэплъ, ауэ

сынолъэIу, дыщумыгъэкI, мыбы къэкIуэжхэм хуэдэу бэлыхьыр ттелъу

дыкъыумыгъэкIуэж.  Укъызогъэгугъэ сэ, уэри псалъэ быдэ къызэт дыщымыкIыну,

хьэлыншэ дымыхъуну, Iуэху фIейхэм задедмыгъэхьэхыну, фIым я нэхъыфIыр ди

Iэпэгъуу дыпсэуну, насыпкъэ ар. КъедгъащIэ уэрэ сэрэ цIыху нэсым и псэукIэу

щытын хуейр, зэрыпсэупхъэр,  Iэмалу иIэр  гъащIэм къедгъэгъащIэ  цIыхухэм.

Къыдэхъуапсэу  псори,  дыгъэпсэу, ди хьэл куэд къащтэнущ ди нэхъыщIэм, уеблэмэ

ди хъуреягъыр фIым хуедгъэсэфынщ. Укъызогъэгугъэ фIым сыхуэпсэуну…

АбыкIэ псалъэ зэзыта Iэпкълъэпкъымрэ псэмрэ къытехьащ дунейм къабзэу, дахэу,

ауэ щехыжым псэр дунейм  гуэныхьым и плIэр фIыуэ иришэхырт. Ягъэпэжакъым ята

псалъэр тIуми, иджы ящIэжкъым, япэу епцIыжари — Iэпкълъэпкъырат, хьэмэ

псэрат?.. Яхуэшэчакъым,  мылъкум димыхьэхыу, езыхэм ящыщ куэдым хуэдэу

насыпу ар къалъытэ хъуащ, яхуэIыгъакъым къарита насыпыр,  гухэлъу къабзэм

бэмпIэгъуэ фIэкI къимыхьу къащыхъужри, аргуэрыр  гум ирахужащ.  

Дунейм къыщытехьэкIэ псэ псоми, Iэпкълъэпкъ псоми     зэратыр  псалъэ –

зэрыгъэпэжыну,  къызэрытехьэм хуэдэу   къабзэу ехыжыну,  езыхэр щапхъэу  мы

дунейм тетыну. Къытохьэри… Я псалъэр жьым ихьам ярейуэ  мэкIуэдыж!

Псэхэхым и натIэ

Къеуфэрэзыхьыр псэхэхым, къилъыхъуэу игу  ирихьын. Зыжьэхегъауэ зэ зым,  хуимыудIамэ кIэбгъу  зыкъещIыж. Зэми, жьэхолъэ нэгъуэщIым, щищIыжууэ къигъэщIыр дыдж. ФIэхъуу псэкIуэд сымаджэр,  лажьэншэм  и лъэр щIеуд. ЗигъэнщIкъым ауи псэхэхым, ар бжыгъэм кIэлъымыплъыж. И унэIутщи ар гъащIэм, кIэухкIэ хэти  щогугъ.  Ар дапщэм ихьа я пащхьэ, цIыху  дапщэ игъэгуIа, зэхэдз  имыщIу ин-цIыкIукIэ игъащIэм зым щымысхьа.

            ИцIыхуркъым псэхэхым цIыхухэр, я теплъэкIи хузэхэмыху. Хьэфизщ  къытехьэмэ дунейм, абы Iэбэрабэурэ къекIухь. Ар псэ  зыIуту  зытеIэбэм, кIэухыр натIэ яхуэхъуащ. Ужьыхыжарэ упщIыIуауэ, IэмыщIэм илъу ихьыж псэхэм, ар  щаIуплъэжыр нэсыжа иужьщ.  Зэм хущIогъуэжыр, зэми  къокIуэтыжыр, гущIэгъу  имыIэр къыкъуокIыжыр. Къыхуэмыарэзыуэ  дыкъэзыгъэщIар, абы  йошхыдэ куэдрэ Тхьэшхуэр. Езыми, Тхьэм и нэфIыр къилэжьын мурадкIэ, ирешэж и  пащхьэ  цIыхум я нэхъыфIу ягъэIуар. Тхьэр  къытохьэжри, аргуэру, псэхэхыр Iэбэрабэу къытхохьэж. Ди щхьэфэм къытеIэбэм фIэкъабылу, тхьэкIумэр тегъэхуауэ дякум щоджэрэз.

            Къеуфэрэзыхьыр псэхэхым, къилъыхъуэу игу ирихьын…

I0.0I.20I5.

Насыпыр Iэрыхьэ — IэрыкIщ

Содыж аргуэру зы насып,  ар  щымысхьыжу  ячэтхъащ. Содыж сегугъуу, къэзгъэзэжу, насып щIэрыщIэу  зэрахуэупсар, содыж цIыху гъащIэ, цIыху насып, къелъэпэуащи къэсщтэжауэ. ЗгъэщIэрэщIэжу, сегугъупэу, щхьэфэдыр си гум   къысхуимыщтэу, содыж зи уасэр ящыгъупщэжар. ЯщIэжкъым ахэм зэман ипэ насыпым зэрыщIэхъуэпсар,  тхьэхуэплъэ хъуауэ жэщ хъурейкIэ, а зым щIэлъэIуурэ щыIурихар. ПщIыхьэпIэу ялъэгъуамкIэ псэууэ, нэгъуэщIхэр яфIэнасыпыфIэу,  узэIэбэкIыжмэ, улъэIэсыну,  жыжьэкъым щыщIэхъуэпсар. И фIэщ ящIати Тхьэм я лъэIур, къахуэупсащ и къэгъэщIыгъэм. Ар зыкIэ инти а насыпыр, зыпэмыплъауэ къыщIэкIащ. Апхуэдиз тыгъэр  къыщамыщтэм, ар мыл яфIэхъури  нэпс гуащIэу  нэм къыщIэжыжащ. Содыж насып зэлъэпэуар, нэщхъейуэ си куэщI  щызгъэхуэбар, содыж гухэлъым и Iуданэ гъуэтыгъуейр къэслъыхъуауэ, содыж, иджы ар едэпщанэ, зырызщ  къызыгурыIуар…  Мастэ пэ папцIэм а тхьэмыщхьэр иуIащи, игу къыдэмыжурэ йокIуэкI, къэзылэжь гуэрым  Iэрыхьамэ, хуэфащэ пщIэр игъуэтыжынт… Содыж сигу мыгъуэу, къыхуэныкъуэм Iэрызгъэхьэну сыхуэпIащIэу. IулIэ Iуданэр хызохыжыр, насып   нэщхъейм зэ соплъыжыр, сыхуохъуэпсэжыр си щхьэ, софыгъуэжыр… Хьэуэ, сыщоуэ, абы   хуэныкъуэ куэд къыпоплъэ, езгъэIыгъынщ къелъэпэуэху…

24.08.20I2

Анэм и гъатхэ

ГъащIэм и бзэр къыщиутIыпщыр гъатхэрщ, гъатхэм  хелъхьэ гъащIэм псэ, бзэ Iурелъхьэ псэ зыIутым,  щодэрбзэрыр  щIылъэм гъатхэр. Зэм гъырнэIуу, зэми къилыдыкIыу нэгур гуфIэу, гъатхэм хэлъщ бзылъхугъэ хьэлым щыщу куэд.  И щIыIэр къомыдзакъэу,   и  гуапэр мейуэ къуиту гукъыдэж,    гъащIэм хуегъэщIыжыр гъатхэм  гу. Гугъэ  щIэрыщIэпсхэм я гулъ пIащэр щызэрытIэпIыкIыу гущIэм,   кIапсэлъэрышэ  уи мурадыр пищIэжу къэбгъэщIэну  пхуиухам.  Гъатхэр ещхькъым зым дахагъкIэ,  сыщалъхуар гъэмахуэрами  солъагъур куэдкIэ сэ нэхъыфIу гъатхэ зигу итхьэщIыкIар, сэ си анэр къыщалъхуар. КуэдкIэ зызогъэщхь а тIур я хьэлкIэ. Си анэр гъатхэщ, гъатхэр гъащIэщ, гъащIэр анэщ, а псор гъэгъа IуданэкIэ зэIущэжауэ, насыпым схухэщыпыхьауэ сегъафIэ гъащIэм сыхиубыдыкIауэ. 

            Илъагъукъым фIыуэ щалъхуа гъатхэр си анэм, абы и анэр гъатхэм IэщIихащ, гуапагъэкIэ ерыщу къысщыхъуами, а гъатхэм и шейтIаныр къытекIуат… Солъагъур куэдрэ си анэр гъатхэм хэгъэу, и нэпсыр IэлъэщI кIапэмкIэ игъэпщкIуу, солъагъур  абы лъандэрэ сэ кудрэ   гъатхэ жэщым темыпыIэу  къызэрешхыр уэшх, и ткIуэпс пIащэшхуэхэр уэсэпсым хигъэпщкIуэжу пщэдджыжьыпэм,   си анэм игу хэщIауэ  ирех илъэс зытIущым нэблэгъауэ гъатхэр…  

Зэгуэр сэ гъатхэр сымылъагъужыну  си нитIыр нэфу сыкъигъанэм, солъэIур сыкъэзыгъэщIам,    хьэфиз сэ псэкIэ симыщIыну, щыIэхукIэ гъатхэ      схуихъумэну анэр!    

Си адэ

Къысщохъу си адэр  Сосрыкъуэ и зэманым къыхалъхуау, нартыжьхэм ар зэгуэри яхэсау.  Ар нарт тхьэмадэхэм  я  гъукIэгъэсэну,    япсыхьу ди зэманым кърата.  Ар къащхьэщокIыр хьэлкIэ куэдым,  сэ зым и адэми си адэр бгъурызмыгъэувэф. И хьэлыр   бгъэунэхуауэ къыщыпщыхъум  аргуэру ущыуауэ къыпхущIрегъэдз. Ар къызэралъхурэ ялъытэр къуэфIу,  зэрысабийрэ дэлъхуфIщ, къуэшыфIщ ар, щхьэгъусэфIщ  щхьэгъусэ зэригъуэтрэ, бын зэригъуэтрэ     адэм я нэхъыфIхэм халъытащ. Зэманым уае куэдрэ зищIу, щигъэгужьей къэхъуами  си анэр,   зэпIэзэрытIу, кIуэцIрыплъу жыжьэ, си адэм и зы псалъэм  егъэсабырыфыр  жьыбгъэм я  нэхъ  ерур. 

 Щышынэкъым къэхъукъащIэхэм  сигур, сэ жьыбгъэм сымышынэу сыпоув, сригъэсащ си адэм  симыкIуэту, си гъуазэу  пэжыр сыпсэун.  Сопсэу сытету сэ а  гъуазэм, сыщIэшынэни  къыкIуэмыкI, ауэ зэм-зэмкIэ  сыгузавэу си адэ-анэм сахуоплъэкI.

Сэ сыхьэзырт  пшэрыхь хуэсщIыну   гъащIэм, зэманым  IурыцIэлъыр изощIэкI, сэ сиIэ псомкIи   шыкур щыхуэсщIкIэ  гъащIэм, солъэIу сыт щыгъуи дыкъэзыгъэщIам  къытхуихъумэну  быдэу адэ-анэр.

                                                                       Дэлъху

            ЩIалэфIу щыIэм сэ изоплъыр уи фэ, уахузогъадэ  зи цIэр яIэт псом,   нэгъуэщI анэм укъилъхуа   къысфIэщIу, сыныплъохъур сызэрыхъурэ балигъ.

ЯщIыр куэдрэ уи хъыбар унагъуэм, куэдрэ си анэр  ныпкIэлъогъ, уэ укъытхуэхъуамэ гъащIэр  нэхъыфIыну сэ къыщохъу иджыри къэс. «Ар къыдипэсакъым, Тхьэшхуэм», жиIэм анэм, адэм  щэхуу и щхьэр ирехьэх.  ХъыджэбзиплIым я етхуанэу къалъхуа щIалэм жэмыхьэту  захуэпщIат къурмэн унагъуэм.  УияужькIэ   а унагъуэм къахэхъуа сэ, къэхъурт уи фэ къыщызаплъ,   уи цIэджэгъухэм щэхуу сакIэлъыплъу   сэри куэдрэ  дэлъхум сыщехъуапсэ къысхуихуащ.

            Зи ишэгъуэ  хъуахэм сэ сахоплъэ, упсэуамэ, уи къэшэгъуэ хъуат. Нысэ дэ тхуэхъунур къыщыхэсхкIэ, гугъу зезгъэхьыурэ сэ сыпхухоплъыхь, ауэ   мэлыIычым хэт хуэбгъэфэщэн… 

Тхьэшхуэрщ зыщIэр си адэм и гум  щыщIэр, ар сыт щыгъуи хуэдэу щымщ, къытIуплъамэ гуапэу  къытхуогуфIэр, ауэ сощIэр быдэу сэ, абы   щэхуу  куэдрэ Iэ  ныделъэ   уи   сыныщхьэм.   Адэм дежкIэ къуэр  и къуэпс мыгъужщ, ар мыхъуру яIэщ лъэпкъым, абы сиадэр куэдрэ  йогупсыс, сэри сигу укъыполъадэ куэдрэ.

            Уэрэ сэрэ ди псэугъуэ, щызэтехуакъым дунеягъэм, уэрэ сэрэ зы лъэбакъуи зэдэтчакъым ауи. Ауэ сэ  укъэслъэгъуамэ, сфIощыр  миным  уахэсцIыхукIыну, сэ си дэлъхур къэзмыцIыхумэ,  хьэфиз гъащIэр тыхь схуращI.

            Сегупсыскъым  укъыдимыпэсауэ, сегупсыскъым гъащIэр умыдауэ, сегупсыскъым упсэуамэ, уэ IэщIагъэу  къыхэпхынкIэ хъуну  псом.  Сэ сызэгупсысу  сызыхущIэкъур   си дэлъу МелыIычым сызэрыхуэфэщэнщ. КъызэхъулIи  сэ къызэмыхъулIи щыIэщ,  ахэм дауи уэри уащыгъуазэщ, сэ сызщымыгъуазэу щыIэ хъуам,  сыщогугъ  си ерыскъыр сыухыу  нэр щызэтеспIам    уэ сыныпIуплъэну,  зэхэсхыну уи зы псалъэ. СызэрыпсэуамкIэ уэ ухъуну арэзы сэ сыщогугъ, хэтыт зыщIэр уэ уиIамэ  гъащIэ, сэ  сыкъамылъхунри хэлъагъэнщ….

Къысхуэгъэгъу

— Хуит сыкъэщI ухэсшэну уэ си пщIыхьым, узгъэхьэщIэну узгъэфIэну… Хуит сыкъэщI къэзгъэщIым  ухэсшэну, зы гъащIэ дэ къыздэдгъэщIэну. Хуит сыщI уэр  щхьэкIэ  сыпсэуну, къихьыхукIэ си къарум  успIыну IукIэ. Хуит сыщI  сэ сыхуейхукIэ услъагъуну, нэр къызэтесхыну сыхуэпIащIэу махуэщIэ къалъхум дызэщIыгъуу дыщыпсэуну Хуит сыщI закъуэ…

-УзощIыр хуит сыхэпшэну уи пщIыхьым, сыбгъэхьэщIэну итIанэ сыбгъэфIэну. Ухуитщ сэр щхьэкIэ упсэну, уэ зэрыплъэкIкIэ сэ сыбгъэпсэуну. Сыкъэлъагъу, къызбгъэдэт, махуэщIэм дыщыгъэгуфIыкI сыбдохъур арэзы, насыпым щIэмыхъуэпсыр хэт?.. 

Гъуэбжэгъуэщ нурщ, мы гъащIэр, ЕтхъунщI зэманым си фэ пIащIэр, сощIэж укъызэрызэлъэIуар,  лIы псалъэ къызэрызэптар…                               Куэд щIауэ сыхэтыжкъым сэ уи пщIыхьхэм, сурихьэщIэжкъым, сыбгъэфIэжкъым. Зы гъащIэ здетхьэжьами, къэбгъэщIым уэ нэгъуэщIщ щIэупщIэр. Уэ сэркIэ  куэдрэ упсэуакъым, сыбгъэпсэунууи уелIэлIакъым …

— Хуит сыкъэщIыж, иджы сэращ нолъэIур, афIэкI си нэгум укъимыплъэ, лъэIуэныр нэхъ къозэгът. Си щIыб къызэрызгъазэу ущIогъуэж, си фIыгъуэ псори  абыкIэ тет фIэкI умыщIэну уоджэрэз. Iэмалу щыIэр схузэтезыпщытыкIа гъащIэм  сепсыхь, иджы сэ зысхъуэжащ, мо дыгъэр цIыхухэм къафIэбдыгъурэ уи Iэгур щIижьыкIауэ къысхуэпхьми щэхуу, къыпхуэзгъэгъунукъым, къысхуэгъэгъу… Уи гъащIэм уи IэкIэ сыщыбукIыжащ, уэр щхьэкIэ сыщыIэжкъым…

Насып

Къыпехыр бжьэм си гъащIэм фо,  третхыкI ар дыдэм тхакIуэм усэ,   страхыр щапхъэ  къызэщхьыну хуейхэм, уеблэмэ а  псом хуэхейхэм. Схузэхелъхьэр шыпсэ бзу  макъ гуакIуэм, епэрымэм сыкъеуфэрэзыхь, фIыгъуэу щыIэр сэ къызащIылIауэ, зыкъысщамыгъэнщIу насыпыфIэ сащI. СыкъаIэтыр хьэндрабгъуэ миным, сыщIэхъуэпстэкъэ–тIэ сэ уафэгу нэхъ иным. МащIэу  погуфIыкIри дыгъэ езэшам яхуещI унафэ пшэ гуэрэну къыспежьахэм, дыгъэ бзий гуапэр я Iуданэу, дэрэжэгъуэр сэ абыхэм  схухадыкI, зы нэрынэ къэс егугъуу,  данэм  бостейщIэ сэ къысхухадыкI. КIуэда псор къысхуагъуэтыжыр, сымыщIар къызаIуэтылIэ, щэхуу щыIэр къыздагуэшыр, шыру щыIэр  сагъэлъагъур, къамылъхуахэм сыхагъаплъэ, сигу къэкIар къызагъэхъулIэ, хъуну щыIэр къызбгъэдалъхьэ, хьэлэлагъкIэ сфIызэпоуэ, гъащIэр шыпсэм хагъэгъуащэ, насыпыфIэхэм сыхашэ…

Найдите правильный ответ на вопрос ✅ «Сочинение на кабардинском языке » насып щ1 экъуныр арщ насыпыр» темэр Акъсырэ Залимхъан и пьесэ «Дахэнагъуэм» къызэрыхэщыжыр …» по предмету 📘 Русский язык, а если вы сомневаетесь в правильности ответов или ответ отсутствует, то попробуйте воспользоваться умным поиском на сайте и найти ответы на похожие вопросы.

Смотреть другие ответы

Главная » ⭐️ Русский язык » Сочинение на кабардинском языке » насып щ1 экъуныр арщ насыпыр» темэр Акъсырэ Залимхъан и пьесэ «Дахэнагъуэм» къызэрыхэщыжыр

Обновлено: 11.03.2023

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ — ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Темэр:»Таурыхъ телъыджэ.»(Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ»пьесэр).

Насып щ1экъуныр -арщ насыпыр.

Мурадыр:Акъсырэ Залымхъан и «Дахэнагъуэ»пьесэм щыгъэгъуэзэн;

1уэры1уатэр зи лъабжьэ тхыгъэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэхуэ

хэлъыр,абы щ1элъ щ1агъыбзэр къэ1уэта зэрыхъуар

убзыхун,лъэпкъым и зэхэщ1ык1ым и 1уэху зэрызиужьым

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр:Акъсырэ Залымхъан и творчествэм теухуа презентацэ,псалъалъэхэр,пасэрей зэманым къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр выставкэ щ1ауэ,макъамэ зэхуэмыдэхэр,интерактивнэ доска.

Макъамэ дахэ къоуэ,абы сабийхэр еда1уэурэ,доскам сурэт зэмыл1эужьыгъуэхэр къыщыдогъэлъагъуэ.СЛАЙД Щ1АУЭ.Сурэтхэм ц1ыху къыщыгъэлъэгъуахэм я нэгухэр зэ1ухащ,гуф1эу щытхэщ.

Егъэджак1уэ:Фи махуэ ф1ыуэ,ц1ык1ухэ!Ди урокым щ1эздзэну сыхуейт мы упщ1эмк1э:сыт хуэдэ гупсысэ мы сурэтхэм фызыхуишэр,сыт мыбы щыфлъагъур?

Егъэджак1уэ:Пэж дыдэщ.Мы сурэтхэм ц1ыхур насыпыф1эщ къыщыгъэлъэгъуащ.Ц1ык1ухэ,фэрэ дэрэ ди насыпщ.Ди уафэр къащхъуэщ,ди щ1ылъэр щхъуант1эщ,дунейр мамырщ.Дривгъэплъэжыт ат1э тхыдэм,щытауэ п1эрэ сыт щыгъуи ц1ыхухэр апхуэдизу насыпыф1эу?Абы къыхощыж,ц1ыхубэ насыпым,щхьэхуитыныгъэм папщ1э бэнэныгъэ иригъэк1эк1 зэпыту къызэрыгъуэгурык1уар.

Слайдхэмк1э къыдогъэлъагъуэ ц1ыхур зыхэта бэнэныгъэр.

Егъэджак1уэ:Урыс тхак1уэшхуэ Юрий Либединскэм мыпхуэдэу же1э:»Художник нэгъэсам и 1эзагъэ уи1эн хуейщ ц1ыхубэм къигъэщ1а хъыбарыжь дыдэр драматическэ сюжетым ибгъэзагъэу усэ жанк1э,усэ дахэк1э къэп1уэтэжын,мы таурыхъ телъыджэр птхын папщ1э».

Сыт хуэдэ хъыбар зи гугъу ищ1ыр тхак1уэм?

Еджак1уэм:1уэры1уатэм щыщ нарт эпосым щыщ зы хъыбарщ.

Егъэджак1уэ:Ат1э сыт фэ фщ1эрэ нартхэм теухуауэ?

Егъэджак1уэм:Иджы сыхуейт,ц1ык1ухэ,пьесэр къызэрыфщыхъуар къэсщ1эну.(тестк1э еджак1уит1 гъэлэжьэн,ЕЩАНЭМ АР КЪЕГЪЭПЩЫТЭЖЫН,ЖЭУАП ТЭМЭМЫР ЗЭРЫТ НАПЭР И1ЫГЪЫУ).

1.Джэримэс ипэ Дахэнагъуэ и лъыхъуак1уэ ежьахэм я 1уэхур дауэ яуха?

2.Абыхэм я мурадыр сытк1э къащхьэщык1рэт Джэримэс игу ирилъхьам?

3.Джэримэс тек1уэныгъэ къихьынк1э щ1эхъуам сыт и щхьэусыгъуэр?

4.Ц1ыхубэр дауэ 1ущ1эрэ Джэримэсрэ Дахэнагъуэрэ?

«Пщым жи1ащи саубыдыну

Си ужь къахур нобэ махуэм,

Къару мащ1эр сухыпауэ

Сыунэхъуакъэ сапэщ1эхуэм?»-хэт мыхэр зи псалъэр ик1и сыт къарык1ыр?

Еджак1уэ:Нап.198.Мыр зи псалъэр Джэримэс къы1ущ1а джэгуак1уэрщ.

Егъэджак1уэ:Хэт сымэ фц1ыхурэ фэ джэгуак1уэхэм ящыщу?

Еджак1уэ:Агънокъуэ Лашэ,Сыжажэ Къылшыкъуэ.Абазэ Къамбот сымэ к1эщ1у я гугъу егъэщ1ын.презентацэр къэгъэсэбэпын.

Егъэджак1уэ:Мы псалъэхэм я мыхьэнэр дауэ къывгуры1уэрэ?

Зи щхьэ закъуэ хуэпсэужхэм

А насыпыр къайхъул1энкъым

Пщыл1уэ щы1эм я гугъап1эр

Хъыбар нэпц1уи къыщ1эк1ынкъым.

1.Сыт хуэдэ гъэ пщыл1ып1эр щы1уахар?

-Епщык1убгъуанэ л1эщ1ыгъуэм,1861 гъэм.

2.Л1эщ1ыгъуэ-илъэс дапщэ хъурэ?

-Зы л1эщ1ыгъуэр илъэсищэ мэхъу.

3.Щэ-сыт хуэдэ бжыгъэц1э?Къызэрык1уэ,зэхэт,зэхэлъ?

-Щэ-р бжыгъэц1э къызэрык1уэщ.

Егъэджак1уэ:Дахэнагъуэ и теплъэр къызыхэщ сатырхэр хэт къигъуэтын?

Нап.207-208.Сатырхэм къеджэхук1э(ЕДЖАК1УИЩЫР ПСЫНЩ1ЭУ ТХЫГЪЭМ ЩЫЩ ПЫЧЫГЪУЭМ КЪОДЖЭ),Дахэнагъуэ и теплъэр сурэту егъэщ1ын.(ЗЫ ЕДЖАК1УЭМ СУРЭТЫР ЕЩ1)

Егъэджак1уэ:Сыт хуэдэ художественно-изобразительнэ 1эмал къигъэсэбэпрэ тхак1уэм Дахэнагъуэ и образыр къыщигъэлъагъуэк1э?

Зэрыжыф1эмк1э.Дахэнагъуэ ц1ыхубз щыпкъэщ.Хэт хуэвгъадэрэ фэ ар?

Еджак1уэ:Си анэм,си шыпхъум.

Егъэджак1уэ:Пэжщ,ц1ык1ухэ,мы тхыгъэр сценэм хуэгъэпсащ.Мы пьесэм лъэпкъ театральнэ искусствэм зиужьынымк1э икъук1э мыхьэнэхухэ и1эщ.Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эк1э Налшык дэт театрым и мызакъуэу ар щагъэлъэгъуащ Москва 1957 гъэм,абы и ужьк1и нэгъуэщ1ыбзэхэмк1и зэрадзэк1ыурэ ар щагъэуващ ди къэралым и театр куэдми,нэгъуэщ1 къэралхэми-Англиеми,Болгариеми,Румыниеми.Ар и лъабжьэу композитор Молэ Владимир итха оперэр ди Музыкальнэ театрым щагъэуващ 1991 гъэм.

Словарнэ лэжьыгъэ.

Егъэджак1уэ:»Насып» псалъэм и мыхьэнэр псалъалъэк1э къыхегъэджык1ын.ЕДЖАК1УЭМ СЛОВАРЫМ АР КЪЫЩЕГЪУЭТРИ КЪОДЖЭ

Насыпарэзыныгъэшхуэ бгъуэтам къыуит щытык1э.

-Сыт хуэдэ псалъалъэ мыр?-Адыгэбзэ псалъалъэ,Москва,1999 гъэ.

-Хэт сымэ я 1эдакъэщ1эк1?

-Псалъэ дапщэ ит псалъалъэм?-Мин 31000

Егъэджак1уэ: «Ф1эхъусыр сытми и щыпэщ»,-жи1ащ пасэрейм.Адыгэ сэлам хык1эхэм къыхэщу п1эрэ насыпыр?

-Насып къыздихьауэ тхьэм къыщ1игъэк1.

-Насып тегъуатэ ухъу.

Урысыбзэм мыпхуэдэ псалъэхэр дауэ къыхэщрэ?

-Да снизошлет нам счастье.

-Да будет счастье Вам.

Еджак1уэхэр гъэлэжьэн гупу,усэ егъэтхын псалъэхэу насып,анэ,дахагъэ къыхэщу.Синквейн.

Егъэджак1уэ: Нт1э,ц1ык1ухэ,илъэс мин зыбжанэ хъуауэ Дахэнагъуэ ди деж къок1уэ.Ди нобэм къэсауэ п1эрэ?

Егъэджак1уэ:Нт1э,къэсауэ щытмэ,сыт къытхуихьар?

Еджак1уэ:Абы къытхуихьащ насып?

Егъэджак1уэ:Фэ дауэ феплърэ,сыт насыпыр зищ1ысыр?

Егъэджак1уэ:Фыпсэу,ц1ык1ухэ.Насыпыр къызэрвгуры1уар къэдывгъэщ1ащ.

Видео мащ1эм къыщыдогъэлъагъуэ насыпыр ц1ыхухэм къазэрыщыхъур.

Иджы,ц1ык1ухэ,насыпым и мыхьэнэр фэ къызэрывгуры1уэм дедэ1уащ.Иджы сыхуейт фезгъэдэ1уэну ц1ыху зыбжанэм я гупсысэм к1эщ1у.

Егъэджак1уэ:Нт1э,ц1ык1ухэ,уи мурад къохъул1эн папщ1э сыт пщ1эн хуейр?

Еджак1уэ:Ар зы1эрыгъэхьэн,щ1эхъуэпсын,щ1эбэнын хуейщ.

Егъэджак1уэ:Пэжщ,ц1ык1ухэ,ф1ы зигу илъырщ гъащ1эм зи мурадхэр зэщ1а щыхъур.Сыт хуэдэ псалъэжь абы фигу къигъэк1ыр?

Яджар къызэщ1экъуэжын:Нт1э,ц1ык1ухэ,фэри гу зэрыфлъытащи,ц1ыхур насыпым сыт щыгъуи щ1экъун хуейщ.Аращ мы тхыгъэм гупсысэ нэхъыщхьэу щ1элъыр.

Насыпым и лъагап1эм фынэсыну,фи анэдэлъхубзэр ф1урылъу,хабэр фи 1эпэгъуу фыпсэуну,нобэ зи гугъу тщ1а нартхэми хуэдэу фи лъэужь мык1уэдыну сынывохъуэхъу.

СУНДУК Ц1ЫК1УМ ДО1ЭБЭРИ КЪЫДАХ

Хъыдэжэбз ц1ык1ухэр щ1алэхэм йохъуэхъу:

Лъэпщ и лъэщагъыр фи1эрэ

Л1ыгъэр фи нэрыгъыу-

гъащ1э дахэ къэвгъэщ1эну дывохъуэхъу!

Хъыджэбз ц1ык1ухэм щ1алэхэри йохъуэхъу:

Сэтэней удзу фыгъагъэу,

Сэтэней гуащэу фыпагэу,

насыпзащ1эу фыпсэуну дыфхуохъуахъуэ!

Егъэджак1уэ:Мы ди урокым къытхуеблэгъа хьэщ1эхэми дохъуэхъу мыбы лъэбакъуэу къачар насыпу яхуэбэгъуэну,узыншагъэ быдэ я1эу гъащ1э дахэ къагъэщ1эну!

Унэ лэжьыгъэ етын.

Нобэрей псалъэмакъым и к1эухыу К1ыщокъуэ Алим и «Насып» усэм сыкъыфхуеджэну сыхуейт:

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Классщ1ыб еджэныгъэ

10-нэ классым

К1ыщокъуэ Алим

hello_html_7bc07dff.jpg

Зыгъэхьэзырар:

Шордакъ курыт школым

адыгэбзэмрэ литературэ мк1э

и егъэджак1уэ Татрокъуэ Хъ.

К1ыщокъуэ Алим теухуауэ еджак1уэхэм я1э щ1эныгъэм хэгъэхъуэн;

Анэм быным хуи1э лъагъуныгъэм и къарумрэ щ1ыхьымрэ К1ыщокъуэ Алим и усэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар;

Анэмрэ бынымрэ я зэхущытык1э къабзэр, ар хъумэн зэрыхуейр еджак1уэхэм гурэ псэк1э зыхегъэщ1эн.

Урокыр зэрек1уэк1ынур .

Урокым и пэублэ .

Темэмрэ мурадымрэ щыгъуазэ щ1ын.

Урок блэк1ахэм яджар къэпщытэжын .

1.К1ыщокъуэ Алим теухуа псалъэзэблэдз.

2.Зауэ зэманым Алим ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуа усак1уэм и ц1эр.

3.Алим и адэц1эр.

4. Алим и 1устазу щыта усак1уэ.

5.К1ыщокъуэр къыщалъхуа къуажэр.

Жэуапхэр пэжмэ, къехыу фыкъеджэнущ Алим и унэц1эм.

2. Усэ сатырхэр и к1эм нэгъэсын.

Псэуну гъащ1э зыхуэфащэр

Мыувы1эу (к1уэхэр аркъудейщ).

Насып жыхуа1эр уэ зэгъащ1э

Насып (щ1экъуныр-арщ насыпыр)

Ф1ым хущ1экъуу ц1ыхур псэумэ,

Арщ ( псэунур псэук1аф1эу)

Абы шырыкъур сэ нэсхьэсмэ,

Ар сщыгъыу (сщ1ынущ ислъэмей).

3. Мы усэхэр зыхуитхар хэт?

Усэ къарук1э бийр бгъэсу

Лъагъуэ насыпым хуэпщ1ат,

Уигу щыплъэм уи 1эр нэмысу

Хэщ1ап1э дэнэ щыпщ1а?

Уи усэр ящ1э Дагъыстаным,

Уи ц1э щра1уэ Индие дыдэм.

Пхуэдэ щымы1эу ушу ябгэщ,

Уи къамэр мазэу пшэм холыдэ.

Къыщыхъум зауэ, дист зы абгъуи,

Зы гъуэгу дэ т1ури дытехьащ.

Дыкъащтэу тщ1акъым зыми к1эбгъуи,

Гугъуехь тхуэфащэр т1ууми тхьащ.

Нэгумэ Шорэ хъыбар мащ1э

И жьэгу удэсу уигъэщ1а?

Исмэхьил-Беик1 к1эщ1т и гъащ1эр,

Арщхьа ц1эры1уэ уэрщ зыщ1ар.

Уи нэпсхэр зэпе1эу,

Уигу щабэр къолъэт.

Шыпхъу ц1ык1ухэм яжо1эр:

Уи нак1эу зэлъахэм

Нэпс тезу лъэр йощ1.

Темэщ1эр етын.

Егъэджак1уэм и псалъэ.

К1ыщокъуэ Алим и анэм теухуа и гукъэк1ыжхэр.

Алим и анэм жи1э гущэкъу уэрэдыр.

Щ1ы щтари мэгыз,

Уэс къесым ессей,

А уаем сэ си гур

Уэ ф1ыуэ солъагъури,

Анэр зэрыхабзэщи, гу щабэщ, къуэм бэ1ут1э1уу къыпэщылъ псори абы и гущхьэм щегъэтк1у, абы 1эщ1ок1ри зэуап1эм щы1э щ1алэм хуожэ, зытриубгъуэу биишэм щихъумэн хьэзыру. Анэм и лъагъуныгъэм сэлэтым и къэлэныр нэхъри егъэтк1ий, зауэ 1энат1эм щымыбэлэрыгъыу егъэжан, ар л1ыгъэмрэ хахуагъэмрэ, напэмрэ щ1ыхьымрэ я уэчылщ.

Бий щхьиблу щ1алэм пиупщ1ахэм

И бжыгъэу вагъуэ бгъэм щолыд.

Ар плъэмэ-и къуэр къэк1уэжауэ

Вагъуиблу хэлъым дыщи хэтщ.

Нэхуап1эу къэсыжа и къуэр къыщхьэщытщ, арщхьэк1э анэм ар зэк1э и ф1эщ хъуркъым, игу

Си гъунэгъуу къак1уи уэ къэт1ысыт,

Къащтэ дзасэр, лыпц1эр сэ згъэжьэнщ.

Сыт хуэдэ адыгэ нэщэнэ мыбдеж усак1уэм къигъэлъагъуэр?

Пэжщ, жьэгу пащхьэм дэсу лыр дзасэк1э гъэжьэныр адыгэхэм я зэхущытык1э гъунэгъур куууэ къэзы1уатэ нэщэнэхэм ящыщщ.

Бийм зэрипхъуащи уи унэр,-

Анэм ар же1э, — си щ1алэ,

Ущысп1а жьэгур маф1эншэщ,

Шэс зумы1эжьэу пщ1эгъуалэм.

дыщисым деж , дэ къыдгуры 1 уэркъым абыхэм я лъап 1 агъыр . Иужьк1э зэрыжа1эщи, ды1эбэмэ, дылъэ1эсыжынкъым. Аращ усак1уэм мыпхуэдэу щ1итхыр:

Си анэр гъыуэ ныск1элъык1эу:

Щыжи1эм сщ1акъым и лъэп1агъыр

Иджы 1эфрак1эм содзэкъэж.

А си анэ дыщэуэ,

А си дыщэ к1анэ.

Усак1уэм анэр дыщэм пищ1у аракъым , ат1э анэм нэхърэ нэхъ лъап1э, нэхъ дахэ, нэхъыф1 зыри зэрыщымы1эр къигъэлъагъуэу аращ.

Анэм теухуа усэхэм К1ыщокъуэм къызэригъэлъэгъуащи, гъунапкъэншэщ анэм и лъагъуныгъэр. Ат1э апхуэдиз лъагъуныгъэ къытхузи1э анэхэм дауэ дахущытын хуей?

Анэм теухуауа сыт хуэдэ псалъэжьхэр фщ1эрэ?

Анэ лъагъуныгъэм дыщехъумэ гъащ1эм и лъэпощхьэпо куэдым, ди псэр къегъэхуабэ, дещ1 нэхъ гу къабзэ, щабэ, бэшэч. Анэ лъагъуныгъэр ещхьщ псынэпс къабзэм, гъуэгугъэлъагъуэ вагъуэм.

Мис а псоращ дэ анэм и пащхьэм щытхь жэуапыр щ1эиныр.

Дэтхэнэ бынми ди къалэн нэхъыщхьэщ анэр гулъытэншэ дымыщ1ыныр, нэхъ гумащ1эу дахущытыныр, дахуэсакъыныр, я жагъуэ зэи дымыщ1ыныр.

Тхыгъэ хьэлэмэтхэр зи къалэмыпэм къыщ1эк1а, Къэбэрдейм и къуэ щэджащэ К1ыщокъуэ Алим и ц1эри и тхыгъэхэри мык1уэдыж ф1ыгъуэу дунейм къытенащ. Ахэр псэунщ адыгэбзэр псэухук1э. Алим хужа1ащ псалъэ дахэ куэдхэр. Абыхэм ящыщ зыщ Къагъырмэс Борис Алим хуищ1а фэеплъ усэр:

Читайте также:

      

  • Сочинение о любом растении
  •   

  • Первый майский день сочинение
  •   

  • Сочинение по теме разделы русского языка
  •   

  • Земляной лев сочинение егэ
  •   

  • Богатство это здоровье или деньги сочинение

Кабардино – Балкарский 
государственный университет

им.Х.М. Бербекова

Конкурс эссе

«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»

«Напэр псэм япэщ»

https://vr-vyksa.ru/media/images/chronika_VOV_ANAxmFy.max-1200x800.jpgЛэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:

Бахъсэн къалэ дэт  етхуанэ
еджап1эм

и епщ1анэ классым щеджэ

Азычэ Ясминэ

 Егъэджак1уэр:

Л1эужь Залинэ

2021 гъ.

Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар.
ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, уса­кIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэ­уал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэ­уатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр.  Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ.
ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм  теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI…
ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм  – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.

Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр

Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!

Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,

ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!

ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,

КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,

Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ

ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.

Окопым
къокIри зы долъей,

И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.

ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,

Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.

Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.

ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:

«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,

Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»

1945 гъ.

(К1ыщокъуэ
Алим)

Понравилась статья? Поделить с друзьями:
  • Сыромятникова первые зрители сочинение 6 класс описание по картине плану кратко
  • Табл растворимости хим егэ
  • Сыпь тальянка звонко сыпь тальянка смело егэ
  • Табл раств егэ
  • Сыпаться на экзамене