Дахагъэу щы1эу хъуар гуэхъу фхуэхъуныр си гугъап1эу,сэлам гуапэ фызох адыгэбзэр зи гъащ1э дэк1уасэхэм,абы пщ1э лей хуэзыщ1хэм!Лэжьап1э нэужьым гъуэгум сащыхуэзащ зэанэ-зэпхъу. Хъыджэбзыр и анэм зэрепсэлъа,зызэрыхуищ1а псори си нэгу щ1этщи,слъэк1акъым «Гъащ1эр зыт анэм» сытемытхыхьын.
Гъащ1э зыт анэ,гъащ1э зыт анэ,
Узэзгъэщхьынур къысхуэмыгъуэт…
Фагъуэ1уэщ си бзэр,пэлъэщкъым си псэр
Къызэщ1охъае псэ гумэщ1ар….
Блок1 зэманыр,мак1уэр гъащ1эр…Ц1ыхум зехъуэж,1уэхугъуэ гуэрхэри гум щогъупщэж.Ауэ сыт хуэдэ зэмани,сыт хуэдэ лъэхъэник1 гум имыхуу,хуабэу,гуапэу,щабэу илъщ анэр.
Анэ…Сыт хуэдиз 1эф1агърэ гуапагърэ къуитрэ мы зы псалъэм,сыту мыхьэнэ куэд къик1рэ мыбы.
«Анэр анэщ» жып1эмэ,абы псори къок1:укъызэрилъагъури зэрыплъагъужри,къыпхуи1э щытык1эри,хуи1эжри,зэрумыужэгъури укъызэримыужэгъури.Куэдрэ,куэдыщэрэ,уеблэмэ игъащ1эк1э зэрыбгъэпсэунури.Анэм и 1эф1щ япэ дыдэ зыхэпщ1эри,зи хуабэ къыплъысри,зи лъагъуныгъэ мык1уэщ1к1э зозыгъэгъэнщ1ри.Аращ уи унэр дыщэк1э зыблэну яужь итри,псоми нэхърэ нэхъ насыпыф1э уищ1ыну хущ1экъури,игъащ1эк1э къомыфыгъуэну-къомыижынури,сыт хуэдиз ехъул1эныгъэ е къулеягъэ умыгъуэтами.
Гъащ1э мыхъумыщ1эми,зэман бзаджэми азырщ-анэрщ-зызымыхъуэжу къанэр:и сабийм тегужьеик1ауэ,жей лъэпкъ имыщ1эу,абы и псэук1э,п1ык1э хъунум йогупсыс.Анэр сыт щыгъуи быным папщ1эк1э хыхьэфынущ маф1эм.
Ц1ыхум гузэвэгъуэ къыщылъысам деж ипэ псалъэу а гузэвэгъуэм къыхихыжыфыр «мамэ» жыхуи1э а псалъэ закъуэрщ.Щ1ым дытетыф дызэрыхъуу,жьым дытесу псым депыджын щ1ыдодзэ.Ауэ анэгур маблэр,анэпсэм ди гъащ1эр нэху тщещ1.Анэгур дэнэк1и мажэ:еджэн хуейщ,яшэн хуейщ,абы пыщ1а дэтхэнэ зы 1уэхугъуэри зи фэм нэхъыбэу дэк1ыр анэрщ.Анэгур тхьэмыщк1эщ.И быныр «мыпхуэдэ сыхьэтым къэк1уэж» жи1эу щ1игъэк1арэ къэгувамэ,маф1эм ирегъэс,псым ирегъэтхьэлэ,мыгъуагъэ куэдым анэпсэм къыщежыхь…
Щ1алэгъуалэм куэдым къагуры1уэркъым анэм къытхуищ1э псор.Анэм и джэ макъи и лъэ1уи ди тхьэк1умэм щызэхимых щы1эщ.Ауэ анэм и джэ макъыр псом нэхърэ нэхъапэщ.
Дунейм узэрыхэплъэр,уэзыгъэлъагъур,1эф1 къыпщызыщ1ыр нэращи,анэр-нэ пэлъытэщ.Аращ щ1ыжа1эр»Анэр нэщ», жа1эу.
Анэм къуитар къуетыпэ,анэ1эм къы1эщ1эк1ам нэхъ хьэлэл щы1экъым.Анэм къуит тыгъэр чэнджащи щ1егъуэжи зыхэмылъ гуапагъэщ.Укъыщалъхуа махуэм щыщ1эдзауэ анэм хузэф1эк1 псори къыпхуещ1э.А псоми урегъэгупсыс -Анэгук1э къе1эри анэ1эк1э къитри къызитам къысхуищ1ащ -жыхуи1э псалъэжьым.Уэри укъэзылъхуа,гугъу апхуэдизрэ къыбдехьа анэм и хьэкъышхуэ зэрыптелъыр зэик1 зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым.Щ1ымахуэ щ1ы1и,жьапщэ махуэми анэм дыгъэр къытхурегъэпсыф,уэрэдыр щ1ыналъэм макъыбэу зэрылъэлъу щегъэ1уф.
Къапщтэмэ,анэм хужамы1а,хуамытха псалъэ гъуэтыгъуейщ.Ауэ дэтхэнэ псалъэри гурыхьщ ар гум ,псэм къыбгъэдэк1мэ:
Жа1амэ ц1ыхухэм жьы хъуауэ анэр
Мычэму си гур сэ къызэф1онэ.
А псалъэ жагъуэу гум сэ хэзы1ур
Ф1эмык1ыу си 1ум,тэмакъым ф1онэ.
Зэпыу имы1эу псэ хуабэ зытыр
Сыт-т1э щ1эфлъытэр хъуауэ ар нанэ?!
Жэщ хъуху мыпсэхуу ц1ыхунэм ф1эбэр
Гъуэлъамэ п1эм фщымыхъу п1эхэнэ.
Игу къыдэмыжми,щхьэлажьэу хэлъми
Анэ1э щабэр къодахэщ1эф.
Уигу химыгъэщ1у,узыр пщибзыщ1у
Дахагъэ къыбжи1эу и псэм ухэлъщ.
Гъэдахэ анэр,щыщ1агъэ данэ
Умыщ1 и жагъуэ,ар къыпхуэгъункъым.
Зыгуэрк1э анэм и жагъуэ пщ1амэ
Къэщтэжи псалъэр-жагъуэ щыхъункъым.
Анэгур щ1алэщ дэгуф1эу щ1эблэм
Дыгъэ нурыф1эу зэщ1эблэу маблэр.
Анэпсэр махэщ,еубзэ дахэм
Арщ зыщ1эхъуэпсыр анэ гу къуэпсыр…
Къэбэрдей- Балъкъэр Республикэм Прохладнэ
муниципальнэ куейм хыхьэ Алътуд къуажэм дэт
муниципальнэ кIэзонэ щIэныгъэм и етIуанэ еджапIэ
Къущхьэ СулътIан и рассказ «Анэ»
(еянэ классым щекIуэкIа къызэщIэзыкъуэж урок )
Зыгъэхьэзырар:
адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ
и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес и пхъурщ
2016-2017 гъ.гъ.
Къущхьэ СулътIан и рассказ «Анэ»
(къызэщIэзыкъуэж урок )
Урокым и мурадхэр:
-
рассказыр къазэрыгурыIуар къэпщытэн;
-
образ нэхъыщхьэхэр зэпкърыхын;
-
рассказыр зэрытха бзэр, къыщыгъэсэбэпа художественнэ- изобразительнэ Iэмалхэр наIуэ къэщIын;
рассказым хэлъ гъэсэныгъэ- ущииныгъэ мыхьэнэр гъэбелджылын;
-
еджакIуэхэм я зэхэщIыкIымрэ я бзэмрэ зегъэужьын
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэхэр:
Интеракт.доскар,тест лэжьыгъэхэр, теплъэгъуэ кIэщ1ыр,уэрэдыр: «Анэр ухуэдэщ нэм»
Урокым и ек1уэк1ык1эр:
Егъэдж.(Сл.1-2)
Анэр дунейм и дыгъэщ.
Анэр дунейм и мазэщ.
Анэр дунейм и жылэщ.
Анэ, сыту псалъэшхуэ ар. Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эр егъэп1ейтей.
Анэ псалъэр щыжып1эк1э гущ1эм зыкъыдегъазэ. Абы быным хуи1э лъагъуныгъэм к1э и1экъым, сытым дежи, быныр балигъ хъуами, ар сабийщ анэм дежк1э, и гур хуэмыгъуэщ жэщи махуи, мы дуней псом тету п1эрэ адэ-анэм хуэдэу псэ къабзэрэ гу хьэлэлрэ зи1э нэгъуэщ1 ц1ыху! Ялъэк1амэ, быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым. Дэк1амэ, къыдэмыхьэжын къаф1ощ1ыр, жьы къепщамэ, ирихьэжьэнк1э шынэу мэпсэу. Нэгъуэщ1у жып1эмэ, анэм и гур сытым дежи быным и гъусэщ,Аращ анэр нэм щ1ыхуагъадэри . Мы псалъэхэри, иджыри нэгъуэщ1 псалъэ дахэ куэдхэри яхуэфащэщ анэхэм. Iуэхугъуэ куэд къыщытпоплъэ дэ гъащIэ гъуэгуанэм. А псоми къежьапIэ яхуэхъур хэт? – Анэрщ. (СЛ.3.4) Ауэ, девгъэгупсысыт, ц1ык1ухэ, анэ псоми я гур зэхуэдэу п1эрэ?
Едж.Зэхуэдэкъым
Егъэдж. Ди жагъуэ зэрыхъунщи ,зэхуэдэкъым. Тетщ дунейм нэгъуэщ1 анэхэри. Быныр къалъхуауэ , ауэ зыхуей хуагъэзэну хуэмейуэ. Апхуэдэхэм
щхьэк1э адыгэхэм жа1э: «Анэк1э узэджэнур сабийр къэзылъхуар аракъым , ат1э къимылъхуами , ар зып1ыр,гурыщ1э къабзэк1э бгъэдэт ц1ыхурщ. Аращ темэ нэхъыщхьэ хуэхъуар нобэ зи гугъу тщ1ыну Къущхьэ С. и рассказ «Анэ» зыф1ищам . Урок блэк1ахэм дэ рассказым щыгъуазэ зыхуэтщ1ащ,нобэ ар къызэрыдгуры1уар къэтпщытэжыну ди мурадщи фыхьэзыр, ц1ык1ухэ? Псом япэ иджыри зэ къэдвгъэщ1эжыт сытыт мы рассказыр зытеухуар?
Едж.(1эдэм) Рассказыр зытеухуар анэмрэ бынымрэ зэхуа1эн хуей щытык1эрщ. Тхыгъэм дэгъуэу къыщыгъэлъэгъуащ анэк1э узэджэнур сабийм гъащ1э езыт, е езыта ц1ыхубзыр зэрыармырар, ат1э а сабийр зыгъэбэяу, ар зып1 ц1ыхур арауэ зэрыщытыр.
Егъэдж. Пэж дыдэу жып1ащ,мы зи гъу тщ1ы 1уэхугъуэр адыгэ литературэм нэхъапэк1э зэи къыщамы1этауэ Къущхьэ С. япэу къи1этащ, ик1и психологизм лъэщ щ1элъу зэпкърихащ мы темэр. ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыпстурей ди зэманым ар псори зыгъэп1ейтей зыгъэгулэзщ.Рассказым зи гугъу щищ1 1уэхугъуэхэм заужьурэ йок1уэк1, хэт ц1ыхухэми захъуэж, заужь.Къэдвгъэщ1эжыт , ц1ык1ухэ хэт сымэ я образхэм дыщрихьэл1эрэ мы рассказым?
Едж.(Алихъан) Мы рассказым дыщрохьэл1э 1энусэ, Салимэ, Исмэхьил, Заурчик сымэ.
Егъэдж.Пэж дыдэщ,Ахэр тхыгъэм къыхэщыж образхэращ. Дэтхэнэ зы тхыгъэми хуэдэу мыбы хэт образхэри бгуэш хъунущ гурымыхьхэмрэ гурыхьхэмрэ ( отриц. положит.) Япэ щ1ык1э зэхэдвгъэхыж мы доскам ит псалъэхэм щыщу дэтхэнэ образым сыт хуэдэ псалъэр хуэфащэми (Кристинэ)
Гущ1эгъуншэ
Гумащ1э 1энусэ
«Анэ»
Щхьэхуещэ Салимэ
Иджы къыжыф1эт хэт сымэ образ гурыхьхэм хедгъэубыдэнур?
Едж .( Альбинэ).Салимэ, Исмэхьил
Егъэдж .Хэт сымэ образ гурымыхьхэр?
Едж. 1энусэ
Егъэдж. Сыт хуэдэ ц1ыху 1энусэ?
Едж. (Астемир) 1энусэ сэ сигу ирихьакъым. Ар ел1ал1эркъым сабий п1ыным, анэм и къалэныр игъэзащ1эркъым. И къуэм нэхърэ и щхьэхуитыныгъэм, тыншыгъуэм щ1огупсыс. Апхуэдэу уанэу ущытыныр ик1и емык1ущ, хабзэми къемызэгъщ.
Егъэдж.1энусэ и щытык1эр Къу. С. дауэ къигъэлъэгъуа? Тхылъымк1э къэгъуэтауэ къедж.
Едж.( Алимбек) Сщ1эркъым сщ1энур…
Егъэдж.Тэмэм дыдэу гу лъыптащ , абы и гур сабийм зык1и хуэмыгъуэкъым , езым ейуи къэпщ1энукъым ,уеблэмэ сымаджэщым щыщ1эхуами дыщ1элъакъым ик1и к1элъык1уакъым. Апхуэдэ ц1ыхут 1энусэ, ещхьу п1эрэ абы Салимэ?
Едж.(Алинэ) Хьэуэ, Салимэ 1энусэ ещхькъым. Ар хьэл- щэн дахэ зыхэлъ адыгэ хъыджэбзщ , езыр балигъ зэрыхъурэ куэд щ1акъым, щ1алэ дыдэщ. Ауэ Салимэ хузэф1ок1 къэзылъхуа анэм 1эщ1ыб ищ1а хамэ сабийр гурыщ1э къабзэк1э ф1ыуэ илъэгъуну, ар ип1ыну ц1ыхугъи л1ыгъи къылъыкъуок1.Абы сабийр гурэ псэк1э елъагъу, сытри хуещ1э: хуожьыщ1э,хуотхьэщ1э, егъашхэ, сымаджэ щыхъуами и гъусэу сымаджэщым дыщ1элъащ .сабийр езым и насыпым япэ ирегъэщ,ар ф1ыуэ илъагъу Исмэхьил пык1ыну хьэзырт Заур ц1ык1у 1эщ1ыб иригъэщ1ыну яужь ихьамэ.
Егъэдж. Пэжу жыф1ащ. 1энуси Салими я 1уэху еплъык1эк1и я дуней тетык1эк1и зэхуэдэкъым, я образхэри зэпэщ1оуэ. А ц1ыхубзит1ым я образхэм нэмыщ1 рассказым дыщрохьэл1э Исмэхьил. Сыт хуэдэ къалэн щигъэзащ1эрэ Исмэхьил и образым и тхыгъэм, ар дауэ тхак1уэм къигъэлъагъуэрэ?
Едж. (Асланбек) Исмэхьил Салимэ ф1ыуэ зылъагъу щ1алэщ, ар лэжьак1уэжьщ, псэ хьэлэлщ, сытк1и дэ1эпыкъуэгъу хуохъу и хъыджэбзым. Ауэ, рассказым къызэрыхэщымк1э, япэ щ1ык1э абы къыгуры1уакъым хамэ сабийм Салимэ апхуэдиз гулъытэ щ1ыхуищ1ыр, апхуэдиз лъагъуныгъэ щ1ытригъэк1уадэр , ар иригузавэрт ц1ыхухэм жа1энум.Хуэмурэ абы къыгуро1уэ апхуэдэ хьэл- щэнхэм Салимэ и пщ1эр зык1и зэримыгъэлъахъшэр, ат1э нэхъ лъагэ зэрищ1ыр, ик1и Салимэ хуэдэ анэк1э хэти ухуэупсэ зэрыхъунур. Аращ ар загсым щ1эк1уэр.
Егъэдж. Пэж дыдэщ, Исмэхьили 1уэху еплъык1эм зрегъэхъуэж лъагъуныгъэм и хьэтырк1э. Тхылъымк1э къэдвгъэгъуэти дыкъевгъаджэт:
Едж. (Емзэгъ Ислъам) ..Хэт и унэц1эк1э…
Егъэдж.Ц1ык1ухэ, фэ унэ лэжь. фи1ащ мы тхыгъэм ехьэл1ауэ тест лэжь. зэхэфлъхьэну, апхуэдэ лэжь. ди пащхьэ кърилъхьащ 1ут1 А. Девгъэплъыт тхуэщ1ыжмэ:
Тест лэжьыгъэхэр
1.Рассказыр зытхар:
А)Щоджэнц1ык1у Алий
Б)К1ыщокъуэ Алим
В)Къущхьэ Сулът1ан
2.Рассказыр зытеухуар:
А)Хэку зауэшхуэм
Б)Адыгэхэм
В)Укъэзылъхуаракъым анэр, узып1арщ
3.Рассказым къыхэщыж «анэр дыдэр»
А) Нанэ
Б) 1энусэ
В)Салимэ
4.Салимэ ип1 сабиим иц1эр:
А)Заур
б)Алим
в)Тембулэт
5.Анэ гущ1эгъуншэу рассказым къыщыхэщыр:
А)Жэнпагуэ
Б)Салимэ
В)Анусэ
6.Салимэ и щ1алэр:
А)Заур
Б)Исмэхьил В)Хьэдис
Егъэдж. Пэжщ.Пц1ы хэмылъу, куэдым урегъэгупсыс мы рассказым , гурыщ1э зэхуэмыдэ куэдхэр уи гум къыщегъэуш.Фэ фи гум сыт хуэдэ гупсысэхэр, гурыщ1эхэр къыщигъэуша мы тхыгъэм?
Едж. (Ратмир) Мы тхыгъэм сэ сигу къигъэк1ащ Заур хуэдэу зи анэхэм хыф1адза сабий ц1ык1ухэр , ауэ Заур насыпышхуэу къеуэл1ащ Салимэ, и анэм нэхърэ куэдк1э нэхъыф1у ар зыхуей абы хуигъэзэнущ, ауэ адрей сабий къом сабий унэм къыщ1анэхэр –щэ? Ахэр сытк1э зэрыкъуаншэр?
Егъэдж. Гукъутэщ, ауэ апхуэдэхэр куэдык1ейщ, абы и щыхьэту иджыпсту Аслъэнбэч къыфхуеджэнщ Бицу А. и усэ «Сэ ухэту щытми узмыц1ыху»
Сэ ухэту щытми узмыц1ыху,
Ауэ сощ1э шэч къытезмыхьэхэу
Пщ1ам иужьк1э, уигу щ1эмыузыжу
Пхуэмыфащэ пхужа1эну – ц1ыхущ.
Пхуэдэ гуэрхэм япэм я хъыбар
Зэхэсхати, сигу щ1ыхьащ жагъуащэу
Нывжес1эну иджы сигу илъу хъуар
Зэрыфхэтыр нэмыплъ къывэзгъащ1эу.
Хамэ унэм къыщ1эбна сабийр
Къыпк1элъыгът зэхэпхыу, зиук1ыжу,
И 1э ц1ык1ухэр гужьейуэ
Аф1эк1а и макъ къыщимык1ыжым.
Гъырт сабийр пф1эщ1ыу зэгуэуд
Сымаджэщыр щубгынэм уп1ащ1эу
Сабийншэм анэ гъащ1эр нэдщ,
Уц1ыхубзт, арат ар зэхыумыщ1эу?
Зэхэпх хъумэ сабийхэм я гъы макъ
Укъэск1энкъэ, гъыр ууей къыпф1эщ1у?
Е ц1ык1у джэгу ущрихьэл1эм Дей
Ублэк1ыну уигу зимыфыщ1ыжу?
Ухуэмейми зык1и си чэнджэщ
1эф1 щ1элъыжкъым уэ къыппэплъэ гъащ1эм
Ухуэп1ащ1эу къэблэгъэным жэщ
Епхьэк1ынщ ущ1ыгъуу узы1ущ1эм.
Хьэуэ, къэплъыхъуэжу уи насып
Щ1ым иджыри зыщыбгъэдахэну?
Зи сабийр зэгуэр зыщ1ам 1эщ1ыб, Семыхъуапсэ уэ къыдэпхьэхыыум.
Сщ1ырэ пэт сэ иджыпсту уи гугьу Къэк1ыжащ сигу си анэ гумащ1эр
Си анэ дыщэм сэ къысхурегьэгьу
Пщ1ыгъуу и ц1эр къызэрис1уэм папщ1э.
Къытхуэсакъыу ди анэхэм дап1ащ,
Щ1ы1и жьыбгъи къыдамыгъэуэк1ыу
Щымэжал1и езыхэр къэхъуащ
Шхын нэхъыф1хэр тхузэрагъэт1ылъэк1ыу
«Си псэ, си насып» — къытхужа1энт, Уэрыншауэ гъащ1э сэ симы1э»
Хьэуэ, бгъуэтыжынкъым уэ насып,
Ар иук1ыжащ зэгуэрым уи 1эм.
Уи сабийрщи и нэпс гъущыжынщ,
Хыф1эбдзами ар зеиншэ къабзэу
Зи1эм анэ иримыгъэхъуапсэу
Зыхуей хуэзэу Хэкум ип1ыжынщ.
Быну тетым я ц1эк1э дунейм
Анэу щы1эм ягу сыкъипсэлъык1ыу
Сэ узох нэлатым я нэхъ 1ейр Зэрысхузэф1эк1к1э узгъэик1эу.
Егъэдж. Куэдым уезыгъэгупсыс , уи гущхьэм зыкъезыгъэгъазэ псалъэхэмк1э гъэнщ1ащ Анэтолэ и усэ сатырхэр. Ауэ, мы усэм къыхэщыж анэм, нобэрей рассказым дызыщрихьэл1а 1энусэ хуэдэхэр нэхъ щымащ1эщ мы дунейм.Зэрыжыт1ащи, мы тхыгъэм къызэрыхэщыжщи, анэхэр зэхуэдэкъым, апхуэдэу жып1э хъунущ бынхэм щхьэк1и
Анэм и быным лей къытримыгъэхьэн, ихъумэн папщ1э маф1э лыгъэм хыхьэфынущ, хуей хъуми и псэр итыфынущ. Абы быным хуимыщ1эн ф1ыгъуэ телъкъым мы дунеишхуэм, ауэ ахэр зэхэзмыщ1ык1 бынхэри щыкуэдщ мы гъащ1эм, абы и щыхьэтщ иджыпсту фэдгъэлъагъуну пычыгъуэр.
Сценкэ гъэлъэгъуэн.
Миланэ
Авт. И щхьэгъусэр дунейм ехыжауэ зы фызабэ гуэр псэурт. Абы зы къуэ ц1ык1у закъуэ ф1 эк1 и1этэкъым. Арат абы мы дуней дахэшхуэм гурыф1ыгъуэу щилъагъуну и1эххэри! Зы гъэмахуэ пщыхьэщхьэ гуэрым мыпхуэдэу къэхъуащ. Анэр и къуэ закъуэм зыкъомрэ бгъэдэта нэужь:
Лаурэ
Анэ: Иджы, си дуней нэху, жэщ хъуащ, нэхулъэф1 укъик1! Мы дуней нэхушхуэм алыхьым гу щыуигъахуэ!
Теуэ макъ.
Ратмир
Псэхэх: Уи хъуэпсап1эр къохъул1энукъым , анэ насыпыншэ!
Анэ: Ухэт уэ?
Псэхэх: Сэ сы-Псэхэхщ! – Уи къуэ закъуэм и псэр хэсхыну сыкъэк1уащ.
Анэ: Кхъы1э, псэхэх, си нит1ыр ищ1и хьэфизу дунейм сыкъытенэ! Си тхьэк1умит1ыр с1ыхи дэгу сагъроуэ дунейм сытеут1ыпщхьэж! Ауэ си къуэ закъуэм и псэр хыумых! Щхьэщэ пхузощ1- гущ1эгъу къысхуэщ1!
Псэхэх: Хьэуэ. Ар зэрыпхуэсщ1эн ф1ыгъуэ щы1экъым.
Анэ: Кхъы1э, псэхэх, иджыри зы тхьэмахуэ закъуэ п1алъэу къызэтыж. Зы тхьэмахуэ закъуэк1э си щ1алэ ц1ык1ур сыгъэлъэгъуж.
Псэхэх: Ирехъу апхуэдэу, анэ насыпыншэ!
Анэ: Нак1уэ, си щ1алэ, мы бгъуэнщ1агъыжьым дыщ1эт1ысхьэмэ,псэхэх угъурсызым ды1эщ1эк1ауэ къэплъытэ хъунущ.
Псэхэх: Ущоуэ, анэ насыпыншэ!
Анэ: Ухэт уэ?
Псэхэх: Сэ сы-псэхэхщ! Уэста п1алъэр къэсати, уи щ1алэ закъуэм и псэр хэсхыну сыкъэк1уащ.
Анэ: Кхъы1э, Псэхэх, хьэфизи сыщ1, дэгуи сыщ1, бзагуи сыщ1! А псом нэмыщ1к1э, япэ щ1ык1э сэ си псэр хэх, ауэ си щ1алэ ц1ык1у закъуэм и псэр хэпхауэ сумыгъэлъагъу!
Псэхэх: Хьэуэ. Ар зэрыпхуэсщ1эн ф1ыгъуэ щы1экъым.
Анэ: Кхъы1э, Псэхэх, иджыри зы тхьэмахуэ закъуэ п1алъэу къызэтыж. Зы тхьэмахуэ закъуэ си щ1алэ ц1ык1ур сыгъэлъэгъуж.
Псэхэх: Ирехъу апхуэдэу, анэ насыпыншэ!
Анэ: Нак1уэ, си щ1алэ, тэхъуанэр быдэу гъэжащ, абы жьы дэхуп1и, псы дыхьэп1и, нэху дэдзып1и и1экъым, абы дисмэ псэхэх угъурсызым ды1эщ1эк1ауэ къэплъытэ хъунущ!
Псэхэх: Ущоуэ, анэ насыпыншэ!
Анэ: Ухэт уэ?
Псэхэх: Сэ сы-псэхэхщ!Ещанэу Уэста п1алъэр къэсати, уи щ1алэ закъуэм и псэр хэсхыну сыкъэк1уащ.
Анэ: Кхъы1э псэхэх, хьэфизи сыщ1, бзагуи сыщ1! А псом нэмыщ1к1э, япэ щ1ык1э сэ си псэр хэх, ауэ си щ1алэ ц1ык1у закъуэм и псэр хэпхауэ сумыгъэлъагъу!
Псэхэх: Еуей. Сыту 1ейщэу дзыхэ сыкъэпщ1а, анэ насыпыншэ, уэ к1уэж, уи щ1алэм сэ зы лъэ1у хузи1эщи ар жес1энущ.
Псэхэх: Иджы си щ1алэ уэ къэда1уэ, уи анэ тхьэмыщк1эм и ф1ыгъэк1э уи псэр хэсхыну сэ къэзгъэнащ, ауэ зы лъэ1у пхузи1эщ, к1уэжи уи анэм и гур къысхуэхь. Махуищыр п1алъэу сэ узотыр.
Авт.: Щ1алэр и шым мэшэсыжыр. И унэм щ1алэм егъэзэж. И 1эгур гушхуэм къегъэнэху. Абдежым ар мэлъэпэрапэ, анэгури щэхуу къопсэлъапэ: «игъэуза си щ1алэ нэху?!»
Анэм быныр зэрилъагъур
Псы ежэхым и к1ыхьагъщ,
Быным анэр зэрилъагъур
Телъ лъэмыжым и к1ыхьагъырщ.
Егъэдж .Ц1ык1ухэ, Мы теплъэгъуэм сыт гуры1уэгъуэ тщищ1ыр?
Едж. (Миланэ) Мыбы гуры1уэгъуэ тщещ1 анэм быным папщ1э и псэр итыфыну зэрыхьэзырыр, ауэ къуэм ар къызэримылэжьар.
Егъэдж. Пэжщ, Абы нэмыщ1к1э, ц1ык1ухэ, гу лъыфтауэ п1эрэ мы теплъэгъуэм хэта псалъэ гъэщ1эгъуэнхэм е къарык1 мыхьэнэм фыщымыгъуазэу,хэтамэ сыт хуэдэ псалъэ?
Едж. Нт1э, хэтащ. Тэхъуанэ
Егъэдж. Пэж дыдэу гу лъыфтащ, тетрадхэм ирегъэтхэн
Бзэм зезыгъэужь дакъикъэ
тэхъуанэ- пасэрей бгъэныщхьэ унэжь цIыкIу
хьэкъ-къалэн, долг
сэкъат- щыщ1эныгъэ, къуаншагъэ
Ц1ык1ухэ, нобэ фэ гуры1уэгъуэ фщыхъуауэ къызолъытэ бынымрэ анэмрэ я кум дэлъын хуей зэхущытык1эр.Рассказым теухуауэ унэм фи1а лэжь. ящыщщ сочиненэ к1эщ1 зэхэфлъхьэну фэ фи еплъык1эр адэ- анэмрэ бынымрэ яку дэлъын хуей зэхущытык1эр. Хэт и сочин. къытхуеджэн?
Едж. (М. Астемир) Игъащ1э лъандэрэ къызэрек1уэк1щи, быным и гъэсэныгъэр къыщежьэрадэ- анэм я дежщ, абы я ущие псалъэм и дежщ . Я быныр зыхуей хуагъэзэн папщ1э жэщ- махуэ ямы1эу мэлажьэ , зыми хуагъэныкъуэркъым. Быныр балигъ хъуа нэужьк1э зэи ящыгъупщэ хъунукъым адэ- анэм я хьэкъ къазэрытехуэр, Адэ- анэм я жьы хъугъуэм быныр щ1эгъэкъуэн яхуэхъун хуейщ. Сэ сызэреплъымк1э. мы псалъэжьыр пщымыгъупщэу уигу илъмэ уэри зэи лей зепхьэнукъым, уэрииужьк1э лей къыптехьэжынукъым: « Уи япэ бгъажэ мывэ хъурейм ухуозэж»
Егъэдж. Хъэрзынэу птхащ, дэтхэнэ бынри зэман дэк1мэ, езыхэри адэ-анэ хъунущ, ялъэгъуа дыдэри ящ1эжынущ. Абы къыхэк1ыу ф1ы пщ1эмэ, ф1ыр бгъуэтыжынщ.Анэм теухуауэ псалъэжьхэр фтхыну унэ лэжь. фи1ати дыкъевгъэджэжыт:
Едж.: Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.
Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ. (Алихъан)
Едж.:
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
Анэм и быным хуищ1эр ф1эмащ1эщ.(Алимбек)
Едж.
Анэм къуипэсыр гунэсщ
Анэм къуитыр 1эф1щ (Альбинэ)
Едж.
Быныр нэм и хъуахуэщ.
Анэм и щапхъэр пхъум и бзыпхъэщ. (Лаурэ)
Едж.
Анэнэп1сыр уэсым нэхърэ нэхъ щ1ы1эщ.
Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ. (1эдэм)
Едж.
Анэнэп1эсрэ гупк1э т1ысып1эрэ.
Сабийм адэ имы1эжмэ, зеиншэкъым, анэ имы1эжмэ, зеиншэщ. (Кристинэ)
Егъэдж. Икъук1э псалъэ 1ущщ мыхэр ик1и мыхьэнэшхуэ зи1эщ.Анэм теухуауэ псалъэжьхэр къыщыфщ1эжак1э , ц1ык1ухэ, къэдвгъэщ1эжыт иджыри сыт хуэдэ тхыгъэхэм деджа анэм теухуауэ?
Едж. Бицу А. и поэмэ «Телеграммэ», Щоджэнц1ык1у А. и усэ «Нанэ», КъэшыргъэХь. и рассказ «Зы жэщ»
Егъэдж. Тэмэм дыдэу къэфщ1эжащ.Нобэ зи гугъу тщ1ы рассказым теухуауэ дызэджар къэтпщытэжащи , сыхуейтиджы къызжеф1эну сыту п1эрэ мы тхыгъэмк1э Къу. С. къыджи1эну зыхуеяр?
Едж. Мы рассказыр зытепсэлъыхь 1уэхугъуэр гъащ1эм къыщыхъуащ, ауэ апхуэдэ куэдрэ къэхъуркъым 1энусэ хуэдэ анэхэр мащ1э дыдэщ. Мы тхыгъэмк1э Сулът1ан къыдже1э апхуэдэ къэхъун зэрыхуэмейр.Ар адыгэ хабзэми ц1ыхугъэми къызэремык1ур, апхуэдэ зы щапхъэ закъуэми лъэпкъыр зэригъэпудыр.
Егъэдж.Тэмэм дыдэу жып1ащ, ауэ сэри т1эк1у щ1ызгъужынут. Гъащ1эр дэтхэнэ зы ц1ыхуми зэщ къызэрыдитыр , а гъащ1эр къыдэзытри анэращ, анэ псоми а ц1э лъап1эр ягъэпэжу, фэ фхуэдэ бын ц1ык1ухэми ар зэхащ1ык1ыу
щытмэ гъащ1эр нэхъ дахэ, нэхъ тынш хъунущ. Ищхьэк1э зэрыжыт1ащи, 1энусэ хуэдэ анэхэр мащ1эщ. Нт1э, сыт хуэдэ анэхэр нэхъыбэ?
Едж. (Алинэ) Ди анэ дыщэхэм хуэдэщ нэхъыбэр ,дэ абыхэм гъащ1э къыдатащ, зыми дыхуагъэныкъуакъым, мис ахэр.(презентацэр гъэлъэгъуэн, уэрэд: « Анэр ухуэдэщ нэм»)
Быну щы1эм ягу сыкъипсэлъык1ыу
Анэ псоми хъуэхъу сэ фхузотхыр
Къахуэвгъэгъуу бынхэм я сэкъатыр
Насып лъагэм фи щхьэр фигъэ1эту.
Бын гуф1эгъуэм напщ1эр дыхэлъэту
Жьыщхьэ махуэу бынхэм фащхьэщыту
Тхьэм фэ куэдрэ фигъэпсэу
Егъэдж. Ф1ы дыдэу фылэжьащ ц1ык1ухэ, нобэрей ди урокыр абдежым щыдухащ..: Куэдрэ тхурепсэу ди анэхэр, ди япэ куэдрэ тхьэм анэхэр иригъэт, яхуэтщ1ыфу анэхэм дэ гулъытэ нэс. Ди насыпщ ди анэхэр тхуэпсэумэ. Ди насыпщ, ди анэхэр дунеягъэк1и ахърэтк1и къытхуэаразымэ.
Бжьыхьэ дыщафэм и дахагъэр пэш сызыщIэсым и щхьэгъубжэм къыкIэрыт жыг тхьэмпэхэм зэрыхэслъагъуэр арами сымыщIэ, ауэ гупсысэр гуэгъу схуэхъуащи, тхылъымпIэ напэр си стIолым къытеслъхащи, сымытхэныр схулъэмыкIынщ. ЖыпIэнурамэ, гупсысэхэм куэдым къыщаущыхь, абыхэм кIуапIэ ямыIэ, зылъэмыIэс, здынэмыс щIыпIэ щымыIэ. Курых абыхэм яхуэхъуар Лъагъуныгъэрщ.
Лъагъуныгъэ… Мы псалъэр зымыцIыху щыIэкъым, ауэ абы и купщIэр пыухыкIауэ сыту щытми зыми къыбжиIэфынукъым. Апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэр лъагъуныгъэм плъыфэ куэд, пкъыгъуэ зыбжанэ зэриIэр арагъэнщ. Лъагъуныгъэр зы жыпхъэу къапщтэу уеплъ хъунукъым, сыту жыпIэмэ щыIэщ цIыхум хэкум хуиIэ лъагъуныгъэ, бынымрэ адэ-анэмрэ яку дэлъ лъагъуныгъэри гъащIэм щыкуэдщ. ЦIыхуитIым яку къыдэхъуэ гухэлъ IэфIу лъагъуныгъэкIэ дызэджэми иIэщ къаруушхуэ. Сыт хуэдэу щымытами, лъагъуныгъэр дыгъэщ, Iэпэ бзийхэмкIэ зэ уи гумрэ уи псэмрэ къыхэIэбамэ, мыужьыхыжу, дэп жьэражьэу Iэпкълъэпкъ псом къару езытщ.
Хэкум папщIэ цIыхум иIэ лъагъуныгъэр сыту лъэщ. Си ныбжькIэ сыщIалэми, а лъагъуныгъэм сызэщIеIэтэ. ХамэщI сыщыIауэ си щIыналъэ къыщызгъэзэжым деж, къысфIощI си Хэку дыщэм IэплIэ къысхуищIу, къысщыгуфIыкIыу, къысхуэзэшарэ и фIыгъуэ псомкIи къысхуэтыгъэу. Дэнэ сыщымыIами, си щIыналъэм пэсщIын щыIэкъым. Лъагъуныгъэ хъужыр аращи, сыхуей-сыхуэмейми, си япэ лъэбакъуэм и къежьапIэ хъуа, зи дзапэ уэрэдхэм сыщIапIыкIа, зи таурыхъхэмк1э сапсыхьа, си къежьапIэ, си къуэпсхэм зыщаужь щIыналъэм къару мыкIуэщIкIэ сыпыщIащ, арагъэнущ Хэку лъагъуныгъэ хъуж къарури.
Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ, абы и щхьэусыгъуэкIэ гупсысэу сиIэм бгъащхъуэу къызэхалъэтыхьаи бгыжь-къуршыжьхэр, Iуащхьэмахуэ и уардагъэм сыщагъэгъуэзаи, Балъкъ псыхъуэ и псынэпс щIыIи срагъэфаи, нанэ и Iэнэгум шхыныгъуэ IэфIхэр щызагъэшхаи, дадэ и хъуэхъу жыIэр адыгэбзэу сIуралъхьаи. Сыту къаруушхуэ уиIэ, лъагъуныгъэ!
Дыщафэ тхьэмпэхэр къызопсалъэ. Си жыIэр тхылъымпIэм тестхэмэ, къэзмыгъэнэну мэлъаIуэ адэ-анэмрэ бынхэмрэ яку дэлъ лъагъуныгъэр. ЛъэIур IэщIыб зэрызмыщIыным щыгъуазэщ ахэр. Мы лъагъуныгъэ лIэужьыгъуэм плъыфэу иIэр нэгъуэщIщ. Анэмрэ бынымрэ яку къыдэхъуэ хуабагъэр зыми емыщхьщ. Анэм и гур быным хэлъщ, жэщ-махуэ имыIэу ар быным толажьэ. Сэри си анэм и лъагъуныгъэр йофIэкI, йобэкI адрейхэм. ЗгъэщIагъуэр аращи, зэи кIащхъэ хъуркъым си анэм сэркIэ иIэ лъагъуныгъэр. Ар зэщIоплъэ мафIэу, нуркIэ мэтыгъэ, гуапагъэкIэ мэщыгъэри, сагъэгушхуэ, сагъэин. Си анэм и жыIэм слъимыгъэкIын щыIэкъым. Апхуэдэ дыдэуи си адэр лъагъуныгъэк1э къысхуогуапэ. Си анэм тыгъэу хуабагъэу къысхуиIэр къызбгъэдилъхьэмэ, си адэм и лъагъуныгъэр нэхъ къузащ. Ар лъэпкъ гъэсэныгъэм къызэремызэгъыр арагъэнщ. Ауэ зэзэмызэ Iэдэлъэ къызэрысхуищIымкIэ, лэжьыгъэ хьэлъэхэр зэрысщхьэщихымкIэ, сызэриущий-сызэригъэIущ псалъэхэм къагъэнаIуэ абы сэркIэ иIэ лъагъуныгъэр. Сэри си адэ-анэм яхузиIэ хуабагъэр мащIэкъым. ЗэрысхулъэкIкIэ, зэрысхузэфIэкIкIэ абыхэм я жагъуэ зэрызмыщIыным, я напэ зэрытезмыхыным сыхущIокъу…
Жыг къудамэм къытетIысхьауэ къыздэуэршэр бзуущхъуэ цIыкIур мэлъаIуэ нэгъуэщI зы лъэныкъуэкIи лъагъуныгъэм сытетхыхьыну: цIыхуитIым яку къыдэхъуэ гухэлъ IэфIым. Мыпхуэдэ лъагъуныгъэр псоми нэхъ къахэщхьэхукIыу, къахэцIуукIыу щытщ. Пщащэмрэ щауэмрэ яку къыдэхъуэ гухэлъыр йобэкI, йофIэкI псоми. Абы узэщIеIэтэ, къару къует, псори плъегъэкI, уэгум урехьэ, щIылъэм ущегъэджэгу. Ар мыувыIэу зэщIост, нэхъри нэхъ ин мэхъу, итIанэ уи зэхэщIыкIри къэухьри абы елъахъэ. Лъагъуныгъэм теплъэ иIэуи, тэрэзэм иплъхьэуи пшэчыфу щыткъым, ауэ ар зыхэзыщIа цIыхур «зэрыщымыт» мэхъу. Абы и махуэхэм дыгъэм и бзийхэр щоджэгу, къалэбзур мыувыIэу мэусэ, пшынэ дыкъуакъуэхэм макъамэ гурыхьыр ягъэIу, уафэр лэгъупыкъум иреIэ, жыгхэр гъагъэм ехь, гур мэусэ, уэрэдыр къреш, нэхэм ялъагъу дэтхэнэри щхъуэкIэплъыкIэщ, Iэпкълъэпкъыр жанщ, лъэхэм ящIыр ислъэмей, уигу къэкIыркъым зы Iей. ФIыуэ плъэгъуам ухуэзамэ, уоубзэрабзэ, псалъэхэр дахагъэм и налъэкIэ богъэнщI. ЖыпIэнурамэ, дамэ къыптокIэри, ар уэгум ибохьэ, хьэуа къабзэкIи богъэбауэ, къуршыбгъэм и дамэр здишэщI псоми къыщыбогъэлъэтыхь, псынэпс ибогъафэ, уогъафIэ, ухуоусэ…
Усэ зэхэплъхьэм хэт дэтхэнэ зы псалъэри макъыбэу зэролъэлъ. Зы псалъэ жыпIамэ, етIуанэр езыр-езыру къоунэху, аращи, уи гум илъ псори наIуэ мэхъу. Лъагъуныгъэр зыщIауэ усэ зэхэзымылъхьа гъуэтыгъуейщ, уеблэмэ щымыIэххэнри зым хэмылъщ. Гухэлъ IэфIымк1э Тхьэшхуэр зыхуэупсар зэрыпсалъэр лъагъуныгъэм и бзэщ. «Апхуэди щыIэ?» — жызыIэни бгъуэтынщ. Ауэ ар щыIэщ, ар бзэ къабзэщ, гурыхьщ, дахэщ, дахащэщ. Ар зэролъэлъ, фом хуэдэу IэфIщ, гум ехуэбылIэщ, псэр хэзыгъахъуэщ. Сыту и насып апхуэдэбзэр игъащIэкIэ зыIурылъ цIыхум. Насыпышхуэщ! Апхуэдэбзэм ирипсалъэр бгъэхъуахъуэ хъунущ сытым и дежи, сыту жыпIэмэ ар фIым пэджэнущ, дахагъэ къипсэлъынущ, гур гушхуэныгъэм гуэгъу хуищIынущ, псэм ехуэбылIэнущ. Ар зэхэзыха дэтхэнэми и дунейр нэщхъыфIэ хъунущ…
Лъагъуныгъэр зи гум илъ цIыхур гуибл банэ лъапцIэу хэтми, щищ1ынущ абы екIуу ислъэмейр, Сосрыкъуэ хуэдэу, тепщэчыр и нэзымкIэ къифыхьыфынущ, пкъым щIэт къару псори уигъэлъагъунущ… Пэж дыдэуи, Iэпкълъэпкъым ищIэркъым зэшыр, ар зэщIэплъэ зэпытщ, къыпфIощI уи джылъхэм щежэх хъугъэпсыр нэхъри гуащIэу… Аращи, жьым утесу псым уопыдж. Къару къыпхелъхьэ лъагъуныгъэм. Къэрабгъэм лIыгъэ къыкъуегъэкIыф, лIыгъэ зиIэм и дунейми зрегъэхъуэж… Ей, лъагъуныгъэ, лъагъуныгъэ, сыту угуащIащэ, сытуи уIэф1ыщэ!
Си ныбжьыр хэкIуэтэху си гупсысэхэми захъуэжынущ. НобэкIэ лъагъуныгъэр къызэрысщыхъур апхуэдэущ. Бжьыхьэ дыщафэм и щыгъыныр зыщыгъ жыгми, абы и къудамэм тес бзуущхъуэми лъагъуныгъэ сэ къысхуаIэщ, сэри яхузиIэщ. Жыгым и тхьэмпэ зэмыфэгъухэмкIэ щхьэгъубжэ абджыпсхэм дыщэидэу къытогъуалъхьэ, зэрылъэлъу уэрэд дахащэр бзу цIыкIум къысхуреш. Аракъэ хъужыр лъагъуныгъэ уэрэд жыпIэныр, дахагъэ къебгуэшэкIыныр, дыгъэр къыптепсэу упсэуныр…